...................
...................
ŞİİRLER

BABUG Ergun Yıldız (БАБУГ )

                         
...................
 
...................

Уэ сыт щыгъуэи узигъусэщ.

 

Си п|щ|эхьым ухэмык|ыуэ

Си нэгум ущ|эмык|ыуэ

Дакъикъа узбгъадэмык|ыуэ

Уэ сыт щыгъуэи узигъусэщ.

 

Сэжьэу гъуэгу к|эхь сытэхьами

Сымыщ|э |уэху сыхэхьами

Хэмэ къэрал къаск|уэхьами

Уэ сыт щыгъуэи узигъусэщ.

 

Гугъу |уэху куэд къыспыщ|эльыми

Гу къэуэ куэд къызбгъадэльыми

Сымаджэу п|э сыхэльыми

Уэ сыт щыгъуэи |узигъусэщ.

 

Сырик|уэу уэрамым сытетщ

Сыхэхуау бэлэхым сыхэтщ

Узмылъагъуми укъызбгъадэтщ

Уэ сыт щыгъуэи узигъусэщ.

 

 

 

Хыабзэр зи|ис

 

Хыабзэр лъэп|къым йи уэрэдщи

Ар жып|эхук|эщ узэрлъэп|къыр

Хыабзэр щып|ф|эк|уда махуэм

Япхауэ бжы уи ап|кълъэп|къыр.

 

Хыабзэр щыгъынс укъихуапэу

Ар пщыгъымэс ущыц|ыхур

А щыгъыныр зыщыпхамэ

Ф|ым хуэк|уэнукъым уи уэхур.

 

Хыабзэр хьащ|эщ къэблэгъауэ

Бгъалъап|эу щхьащыт

Пщ|эр хабзэм къэмзэгъауэ

А уэхум яужь уимыт.

 

Хыабзэр |ащэс узауэмэ

Ар п||ыгъу укъимык|уэт

Утэк|унущ узахуэмэ

Шэч къомыхь уигу умгъак|уэд.

 

Хыабзэр жийси бгъабагъуэм

йи жъауэм ущ|эсынущ

ар п|ф|эмыуэху п|ф|эмщ|агъуэм

маф|эм йи бзийм уисынущ.

 

Хыабзэр льыжьс илъэс куэд псэуау

Абы уэ куэд уигъащ|энущ

Къыпхуэгъункъым уэлъэпэуау

Ар зэ гуауэу зэбгъащ|энущ.

 

Хыабзэр напэщ напэр п|щ|эмэ

Ар уи|ихук|э уадийэщ

Напэр зи|ис умыщ|эмэ

Мес уигъуэгур хьадрыхэ нэс.

 

Хыабзэр льыгъащ Хыабзэр ф|ыгъащ

Хыабзэр зэхэлъу аф|ыгъащ

Нобэк|э ди уэхур гугъуми

Ди хыабзэр ди гурыф|ыгъащ.

 

 

 

БДЗЭЖЪЭЙМ ЙИХЪЫБАР.

 

Зымэхуэ гуэр бдзэжъэйащэм

Псым зы бдзэжъэй къыхэдзат же

Ар зыщыпсэу псым къыхидзэри

Удзып|ц|эм къытыридзат жэ

 

Бдзэжъер бамп|эу зиуык|ыжу

Къыздыхажза псымк|э йэ|ат

Ип|къыр зэщ|игъаудэрабжъэу

Къыздытэхуа удзыр щ|ы|ат

 

Хуитыныгъэ Хуитыныгъэ Уэ псоми урийапэщ

Хуитыныгъэ Хуитыныгъэ бдзэжъэйм щхьак|эи улъап|эщ.

 

Жи|ир сытыми къыгурымы|уэу

Льыжъым зыгуэр къыжыри|ит

Нэпсыр йинэм щ|игъалъэлъу

Бдзэжъэйм гукъэуэшхуэ йи|ит.

 

Псым йэплъымэ гъащ|эр илъагъурт

Удзым йэплъымэ льэныгъэр

Льэрэ пэтыми йигу къэуэт

Тхьамыщк|агъар зэкъуэныгъэр.

 

Хуитыныгъэ Хуитыныгъэ Уэ псоми урийапэщ

Хуитыныгъэ Хуитыныгъэ бдзэжъэйм щхьак|эи улъап|эщ.

 

Дыгъари бжъэпэм къыдэк|ау

Йип|къыц|ык|ур маф|эм йисырт

Йэзыр зылъэмы|ас псышхуэм

Йиджи бдзэжъэй куэди щесырт.

 

Тхьамыщк|эм ар йигу къак|ыхук|э

Псым нэсыну нэхъри йэ|арт

Ижъэ у|ам лъы къыжъдэжым

Удзыр плъыжъыбзэу йири|арт.

 

Хуитыныгъэ Хуитыныгъэ Уэ псоми урийапэщ

Хуитыныгъэ Хуитыныгъэ бдзэжъэйм щхьак|эи улъап|эщ.

 

Бдзэжъэйащэм зэф|имыгъащ|у

Нэгъуэщ| къиубыдыну йэщэрт

Псэ зэрыхихыр ищ|э пэтыми

Бдзэжъэй къиубыдурэ ищэрт.

 

Зиуык|ыжыху псыр гъунэгъу къахъути

Гъунэгъу хъухук|э нэхъри йэ|арт

Псым йэ |уфэм къасыпати

Абы хэхуэу лъэжамэ арт.

 

Хуитыныгъэ Хуитыныгъэ Уэ псоми урийапэщ

Хуитыныгъэ Хуитыныгъэ бдзэжъэйм щхьак|эи улъап|эщ.

 

Бдзэжъэйм псэ хэту зидзыри

Псэ хэмыту зыхидзэжащ

Йи п|къы ц|ык|ур тхьампэм хуэдэу

Псым щ|ы|ум къытырэдзэжащ.

 

Хуитыныгъэ Хуитыныгъэ Уэ псоми урийапэщ

Хуитыныгъэ Хуитыныгъэ бдзэжъэйм щхьак|эи улъап|эщ.