...................
...................

Iуащхьэмахуэ

Атэлыкъ РафеM
Тырку,Чорум къалэ, 2007 гъэ.

                         
...................
...................

Уи псы уэрхэр быдзышэ тхуэпщIу
КъомыхьэлъэкIыу уэ дыппIат.
Дыщыуарэ дымыгупсысэу,
Уэ, ди хэку дыщэр, удбгынат.
ДынэкIуэжыныр ди гум имыкIыу,
Жэщ-махуэ куэди тфIыблэкIащ.
Ди хэку дахэр нэгум щIэмыкIыу,
Ди адэжь куэди щIэтлъхьэжащ.
Уи лъагъуэри дымылъагъужу,
Хамэ утыкум дыкъинащ.
Ди нэпсыкIэр щIэдутхыкIыу,
Итырыгъу мыгъуэр къытхуэкIуащ.
Сабий бынунэр ныбэнэщIу,
Хамэ щIы бзаджэм текIутащ.
Хэкужьым IэплIэ хуащI къыфIэщу,
Хы щIагъым куэди щIэкIуэдащ.
Нэпсылъэр гъуарэ, ткIуэпс щIэмыкIыу,
Ди Iуащхьэмахуэм дыпщIолIыкI.
Ди жагъуэ тщIынкъым, иумыхьэкIыу,
Мы Iуэхум къуаншэр зэхэгъэкI –
Хьэзаб мыухыр дэ щIэтшэчыр
Зи ягъэр дэ езыхэра?
Хьэмэ, зэкъуэшхэр дызэщIачу,
ГъэпцIагъкIэ дизышахэра?
Дэ ди гур ныкъуэщ, бзагуэщ ди бзэр,
Апхуэдэ гъащIэм бжьыгуэ дещI.
Нэм ямылъагъу зыдэплъэр ди псэр,
Нэр гъумэ, псэм абы зыдещI.
Хошыпсыхьыжыр лъэпкъыр хамэм,
Хабзэншэу, бзэншэу, уэрыншау.
ХамэщIыр ещхькъым дэ ди лъахэм –
ЗырикIщ ар Хэкум елъытау!
Сыпсэужыфыркъым мыпхуэдэу,
Си мащэр къэфтIи, сефхьэхыж.
Е ди Хэку дахэм дывгъэкIуэжи,
Сигу къызэзауэр вгъэпсэхуж.