...................
...................
КIЫЩIОКЪУЭ АЛИМ И ДАМЫГЪЭ

Necdet Hatam
Adige Psalhe, 19 Şubat 2008

                         
...................
...................

Интернетым сыбгъэдэтIысхьауэ, Адыгэ псалъэм и нэкIубгъуэхэм семыплъу хъуркъым. Тхьэр аразы пхухъу Мыхьамэт. Пасэпэщхуэ къыболэж. Лъэпкъым хуэпщIар щэч хэмылъу мащIэкъым, куэд, куэд дыдэ... Арами пхузэфIэкIахэр къыщырабжэкIкIэ Адыгэ псалъэр интернетым ит зэрыхъуам хухах Iыхьэр мащIэнкъым уи фIэщI щIы. НтIэ насыпкъэ Дунеим и дэтхэнэ къэрал ущымыпсэуми, Адыгэ Псалъэр къыщыдэкIа махуэ дыдэм щIэбджыкIыныр, а амалыр зэбгъотылIэжьыныр. Сышыхэхэсым, 60-70 гъэхэм дыкъызхуэтхэ-къытхуэтхэж закъутIакъуэм, илъэсым зэ тIуэ хэкум къытхуикI хьэщIэхэм, е хамэм къикIу хэкум накIуэхэм якъэгъэзэж дыпаплъэрт, Адыгэбзэ тхылъ тлъагъун, дежын щхьакIэ..

Мис ноби сыбгъэдэсщ интернетым. ЩIышылэ мазэм и 29-щ. Кiыщокъуэ Алим дунейр щихъуэжа махуэрщ. Сигъатхъу седжащ езым, КiыщIокъуэм и гукъэкIыжхэм щыщ пычыгъуэм, Къэрмокъуэ Хьамид къитхам, Елгъэр Кашиф, Гъут Iэдэм, Баруздин Сергей Адыгэ лъэпкъым и усэкIуэ щэджащэм хужаIахэм... Ар сытым имыуасэ!...

Хэхэсыр зытемыплъэф, хэхэсым IащIэкI, хэхэсыр зыхэн дэхагъыр, IафIагъыр сыту гъунэншэ ярэби. КъэдгъэщIам хуэдиз ди гъащIэм пащэмэ ирикъуну пIэрэ, тлъагъун хуэяуэ дымылъэгъуфар длагужыну, дджын хуэяуэ дымыджыфар дджыжыну?... Гугъущ... Ар зыми инасып къихьакъым икIи къихьынукъым.

НтIэ, уыхэхэсауэ, и адэкъэщIэкIхэм и нахъыбэр умыджауэ, умылъэгъуауэ, лъэпкъым и набдзэ КIыщокъуэм утепсэлъыхьыну емыкIукъэ? Арами щIэджыджакIуэхэм хамэ хэку сыкъызэрыщалъхуар, сыхуэйуэ щытами КIыщокъуэм итхылъхэр псори зэрэ сымыджыфар, къысхугъэгъунщ жысIэри сытегущхуащ КiыщIокъуэм И «дамыгъэм» джыри сыхэхэсуи си гупсысэхэр зыдашам епха гу къэкIыжхэр вдэзгуэшыну...

ХьэфIыцIэ Мыхьамэд и гум IэфIу зэрытелъыр сощIэ; блыщI гъэхэм лIыгъэ зэрахьэри КъъуэIуфэ Хьачимрэ абырэ ныщытхыхьам ныбжыщIэ гупу дыщыпсэурт Анкара. Выщъхьэ Иззэт къытхузэIуиха лъагъуэм дытету, ди усакIуэ цIэрыIуэ Хьаткъуэ Ящар ди гъуазэу Анкара Хасэм и ныбжыщIэ къудамэ зэхэтщат. А ныбжыщIэ хасэм сыритхьамадэу къыдэдгъэкIу щIэддзащ, ди сурэтыщIэ цIэрыIуэ Мэрэтыкъуэ Дэулэт и СаусырыкъуэкIэ гъэщIэрэщIа Бюллетень цIыкIур, иужькIэ газет хъужар.

А лъэхъэнэм къысIэщIэхьат КIыщокъуэ Алим и «Дамыгъэр». Пэжыр жыапхъэщи си гум къэмыкIыж къызэрысIэщIэхьауэ щытар. Фэеплъу къызатат, хьэмэрэ си ныбжэгъу гуэрым къыфIэздыгъуат? Сыт, узэхъуапсэ тхылъыр, укъамылъагъу къапщтэм емыкIу, тхылъыщэм темыгъуэтэнумэ, уялъэIум къыуамытунымэ?...

Мис а бюллетеным и ящанэ къыдэкIыгъуэм зэрысхузфэкIкIэ КIыщокъуэм и гугъу щысщIат, иусэ цIыкIуищи ТыркубзэкIэ къытетыдзат. Абы щыгъуэ КIыщокъуэр джы зэрэ тцIыху тцIыхут. Ди лъэпкъым зэринабдзэр къыдгурыIуэрт. Адыгэбзэ тхыгъэхэм, усыгъэхэм я купщIым дылъыIэсыфт... Ахэр дэнэ къикIынт ухэхэсу, анэдэлъхубзэм ухуимыту, ЕджапIэ дэнэ къэна, Адыгэбзэ тхылъхэр мыгъэпщIкIуауэ къомыхьакIыфу... Дзэм тетыгъуэ щиубыдкIэ, тхылъхэр умыгъэпщIкIуфмэ, умыгъэсым мыхъу...

ИтIани «Дамыгъэм» абы и псалъэ щэрыуэхэм сызIэпащащ, зылъыIэсым сэ къызэрэзгурыIуэм хуэду къагурыIуэным, илъэпкъым хуэпэжыр, нахъыбэ хъуным и гугъэр зыдэсIыгъу...

Кiыщокъуэм а усэхэр щитхам зэгупщысар сыт? Ар зыщIэр хэт? Еджэм езым къыгурыIуэркъэ усэм къикIыр, усэм икупщIыр?.. Тырку усакIуэ цIэрыIуэ Ахмэд Хашим жиIэгъащ мыпхуэдэу: «Усэм къикIым утепсэлъыхьрэ, пцIащхъуэ цIыкIур илым тебыукIыхьрэ?...» Абы дезгъащтэр мымащIу къыщIэкIынщ ауэ уигу ирихь усэм уэ къызэрэбгурыIэу утепсэлъыхьыныр гу жыдэгэкIкъэ?... БгъэзащIэм, пфIэфI Iуэхум, узытет лъагъуэм, узезыдзэ гурыщэм елъытакъэ, уысэуэ, уысакIуэуэ уигу рихьынур?

А илъэсхэм дызезыдзэ гурыщIэхэм япэ итт, хэкум гъэзэжыныр. Хэкум дыкъимхуэжмэ, ди лъэпкъым дыкъыхэмыхэжмэ дызэрыкIуэдыпэнур дэ къызэрыдгурыIуэм хуэдэу ди лъэпкъэгъухэми къагырыдгъэIуэным делIалIэрт. Ауэ тынщтэкъым а лъэхъанхэм хэкум утепсэлъыхыныр. Хэкур уижэм къыжэдэкIамэ Адыгэ пащэхэри япэ зэритыжэу къыппалъхьэр зытт: Коммунистщ. А махуэхуэм, хэкум щыпсэум деж щытхъу къыщIэкIынт а фащэр, ауэ Тыркум, ягъэпудырат ар зыхуагъэфащэр.

Адэжь хэкум къимыхуэжыр зэрыхэшыпсыхьэнур къызгурыIуэр мащIэтт. НыбжыщIэхэр Тырку лъэныкъуэрэ Хэку (абыхэмкIэ Урыс лъэныкъуэ) лъэнукъуэу гуэщат. Аращи хэкур зиплъапIэхэм псалъэ зэттыжырт дыщIемыгъуэжыну, псалъэ къеIытхырт щъхьэгъусэкIэ къыхэтха ди тхьэIухудхэм ди гугъэ лъагэр къыддаIыгъыну... Ауэ итIани сыщынэрт, «хуит дышащIкIэ нахъыбэр щIегъуэжымэ» гупсысэр сигум изгъэхуфыртэкъым. КIыщокъуэм мы иусэ цIыкIумкIэ захуэзгъэзат сэри закъыхэзымгъэзу хэку гъэзэжыным щIэкъу хэхэсхэм:

Псалъэ щыпткIэ, мывэр псынщIэщ,
Бгым жаншэрыхъу ар къожэх,
ЩыбгъэпэжкIэ, мэхъур хьалъи,
ПхуэмыIэту уегъэмэх.

Ди жагъуэ зэрыхъущи ди ныбжьэгъуу щытахэм инахъыбэм дэ зэттыжа псалъэхэм нахърэ КIыщокъуэм ипсалъэхэр къагъэпэжащ. Апхуэдэу щIащIари УсэкIуэ щэджащэр щыуэ зэрэ мыхъуныр арагъэнщ.

ЩыныбжыщIэкIэ, хэти зыхухихыжа лъагъуэм и бэнакIэу зелъытэж. Дэри апхуэдэфэ зытедгъауэрт е апхуэдэу зыкъытфIэщIыжырт. НтIэ апхуэду зызфIэщIыжу, и псалъэр зауэлIым хуэзгъадэм КIыщокхъуэм жиIар зэхахын хуейтэкъэ:

ЗауэлIым псалъэр хуэбгъэдэнум,
ЖыпIам утекIыу къыумыгъазэ.
ПашэфI зыгъуэтырщ хъур кIуэкIафIэ –
Гурылъ нахъ дахэр щIы уэ гъуазэ.

Абы щыгъуэ лъэпкъ Iуэхум дыдэгъуэлъыжырт, дызэгъусэуи нэху дгъэщырт: Арами дыщIалэкъэ, дыадыгэкъэ! Ди гугъэ лъагэр, гугъэ лъагэу къэзылъытэн, псэуэгъуу дыкъэзыдэн тхьэIухудхэм дылъыхъун хуейкъэ! Гупыу ушызэхэткIэ зэныбжэгъуитIым-щым а зы дахащэм удихьэхэуи мэхъукъэ?... Арагъэнщ мы усэ цIыкIур си нэм къщIыщIэхьари, си псэм къащIыхихари:

IэфI зышхыр дыджым пхуемыIусэ,
Дыджыр зи щIасэр IэфI хуэмей.
ЦIыхум фIэфIыр зэтемыхуэм,
Нахъ тетыгъуафIэщ ди дунейм

Мис иджы хэкум сыкъихуэтэжащ, си лъэпкъым сыкъыхыхьэжащ. 1992 лъандэрэ Мыекъуапэ сыщопсэу. Ар дыдэращ, хэхэсым и хэку егъэгъуэтыжынуращ, джыри си гугъэ лъагэр. Аращи иджыри КIыщокъуэм и «дамыгъэкIэ» захузогъазэ ди лъэпкъэгъу хэхэсхэм:

Нэхъ щIыпIэ дахи хьы жылапхъэр –
ИмыщIыналъэ къыщымыкI.
Хэгъэгу дахэ ухуэзами,
Укъыщалъхуари уигу пымыкI.

Хэхэсым илъ хэлъ хъуащ, лъэпкъ къэзылъхуам нахърэ зыхыхьа лъэпкъым иIуэху нахъ лъыгъэкIуэтэныр. Тыркубзэр езгъэфIакIуэ... Хьарып усакIуэхэм янахъыфхэм хабжэ... Псэемыблэж къэрал хъумакIуэ... Хэку-рыс хэку пэс Адыгэхэми мымащу яхыболъагъуэ апхуэдэхэр. ДиIэм иIэфIыр къытхыхьахэм яхуэзгъэкIуатэ, Дыщыгъуазэщ зыхуэбгхэкIуатэм зэрэ зыхуигъэкIуэтэжми... Арауэ пIэрэ КIыщокъуэм мы сатырхэр езыгъэтхар:

Узыхэлъадэм уэ уещхьу
Къыздощтэ зэуэ щхъуантIагъэ,
УзылъыIэсым урапсэщ –
Уэ я щыгъыныр щотIагъэ.
Сэ зыхужысIэм уэрэдыр
И зы тхьэкIумэм имыхьэ,
Арщ си щыгъыни щIамыдыр,
Арщ щIэмыIэфIри си Iыхьэр.

Мы усэ цIыкIухэм къахэщу къысфIощ, КIыщокъуэм, зыхухиха лъагъуэ дахэм темыкIым, псэемыблэжу и IуэхуфI лъызгъэкIуатэм щIыхь зэрыхуищIыр:

ФхузощIыр щхьащэ сэ къуршыпсым,
ИгъащIэм фиIэщ гукъыдэж.
Зы псыхъуэ закъуэщ фэ вгэлъапIэр,
Фи уэрэд закъуэр фогъэпэж.

Уэ пхьы удыныр схуэмыхьынут,
Уэ уифэр си фэу щытыгъам,
Арщхьэ насыпу къэслъытэнут,
Сэ уэ сыпхуэду щытыгъам.

А гугъапIэракъэ сыт гугъу емыхьами, зи напIщэм лъэпкъ дамыгъэр телъ, и лъэпкъ хуэпэж цIыху захуэхэр, цIыху хахуэхэр лъэпкъым къыхэзгъэхъукIыр, КIыщокъуэми мыпхуэдэу жезгъэIэр:

ЛIы хахуэ лъэпкъым къыхэхъукIмэ,
И нппщIэ телъыр лъэпкъ дамыгъэт,
Шыгъажэ ящIрэ шы къатежмэ,
Ехъуапсэ фIэкIи цIыху мыфыгъуэт.

КъурIаныр зыджахэм ящIэр, дыкъэзгъэщIам цIыху пагэхэр илъагъу зэрымыхъур. Хэити пэлъэщыну къызфIэщIфж, хэти къыизымыдзэ цIыхуращ, Тхьэм удын зэрихыр. КIыщокъуэми фIэфIкъым апхуэдэ цIыхухэр:

Узыхэтым уепэгэкIмэ,
УкъыщIоуэ я нэм бжэгъуу.
Нахъ гу къабзэр къыдэпхьэхми,
Бый мэхъужыр уи жаъуэгъуу

Кхъухь тетыр хахуэт, IэкIуэлIакIуэт.
Хыр къэукъубейми, фIэмыIуэхут.
Хы щIагъ щIэлъ мы жьэхэуэну
ИщIа кхъухьыпщым хэкIуэдэху.

НтIэ, мы къыкIэлъэкIуэ сатырхэм къызэраIуатэу ныбджэгъу зымыгъэкIуэда цIыху шыIэн:

Бгъэунэхум ныбжьэгъур,
Ухуэмеиххэ уэ куэд.
Ет щIыхуэ тIэкIуи – зигъэпщкIурэ,
Ептари зэптари гъэкIуэд.

ЦIыхур, и жакIэ щытхъуэкIэ жы хъуауэ къыффIэщIым, фыхоукъэ:

Уи жьакIэ тхъуакIэ жьы ухъа
ЩIалэм ядэжи уэ къатеж.
Ныбжьэгъу уимыIэмщ жьы ущыхъур –
Ужьыщхьэ матэщ, мис абдеж.

ХэткIи нахуэкъэ цIыху цIэрыIуэ псори зэрызэхуэмыдэр. Зыр зытелэжыхьыр цIэрыIуэ хъуныращ, адрер цIэрыIуэ зыщIыр зытелэжыхьыращ. Дэ зэхэдгъэжыр ди усэкIуэ щэджащэм зэхуигъэдэн:

ЩIыхьыр щэкъым – фоч уэ макъщи,
Фочыр уакъэ – мэIу и макъ.
ЦIэрыIуагъэм щIэмыхъуэпсу
ЛIыгъэ зиIэм фыхуэсакъ.

КIыщокъуэм, унафэщIхэр, щIэныгъэрылажэхэр, лъэкI зиIэхэр, гъуэт зиIэхэр, Iущу зызлъытэжхэракъэ мы усэ цIыкIур, и псалъэр мащIу купщIафIэр, зыхуигъэзар:

ЦIыху щыуэ псори зэхуэмыдэ,
Делэр щыуакъэ къегъэзэж,
Тхьэр къэзыгъазэм хуэаразыщ.
Цiыху Iущ щыуакъэ – ямыдэж.

Бзэр аракъэ усакIуэм тхакIуэм и Iэщэр? УсакIуэр къэзылъхур бзэр аракъэ? Къэзылъхуам щIыхь хуэзмыщIыр цIыху, мыцIыхур хъун усакIуэ... Аракъэ усакIуэр и анэдэлъхубзэм щIыхуэпсэуыр... Адыгабзэм изэытеткъэ КIыщокъуэм игу зыгъэузыр:

Ахьмэт быныншэу ихьт дунейр,
Сабый детдомым къаихащ.
«Къуатар сыт лъэпкъ?» къыщыжаIэм,
«Ин хъурэ псалъэм, тщIэнщ», - жиIащ
...
Сэ хадэу звари адыгэбзэщ
Аращ сиIари псынэ къабзэу,
Абы иуэшхым сыхэт защIэу
Сыхъуащ дунейми сэ щыгъуазэ
...
Бзэр адэ-анэм сагъэщIащи,
Сэ яхуззощIыр тIуми фIыщIэ,
Ауэ си жагъуэ мэхъу зы закъуэ –
Си быным си бзэр зэрамыщIэр.

ЗыщыувыIам УрысыбзэкIэ къытхуэбзэрабзу, анэдэлъхубзэр Iумпэм зыщIхэм, къагурыIуэмэ ди гуапэщ КIыщокъуэр лъэпкъым зэримакъыр, ди гум къызэрипсэлъыкIыр

Сэ сагъэшIахэм щыщ зы псалъэ
Бзэм хэзмыгъэщIу си гум илщ.
Ар зэщзымпэсми пщIэ хуэсщIакъым,
Ар зыфIэмыфми сыпымылъ.

Адыгэ лъэпкъым техъыкIар мащIэ... КъыхэкIакъэ кIуэдыпIи ихуауэ... Ауэ мис ди республикэхэм зауж, хэхэсыми къагъэзэж, КIыщокъуэр зэрыгугъуэуэ къудамэ щхъуантIэм зеукъуэдыйж..

Бжэгъу джафэу пшахъуэм дыхаIуакъым,
Ди лъабжьэр куущи, лъэщщ лъэдийр.
Дыжыгщи, гъуари – къыдожыж,
Къудамэ щхъуантIэм зеукъуэдийр..

Лъэпкъым зэрызиугъуэижыр, зэрызиужыжыр, хэхэсри къэкIуэжу зэрыщIидзар пэжщ, а псори пэжщ. Ауэ анэдэлъхубзэр зыIэпыхури мащIэкъым. Пасэрейм зэрыжаIауэ бзэншэ лъэпкъыр псэншэщи, къыхуэдгъэзэжын джыри зэ КIыщокъуэм и псалъэхэм:

Къуэр лъэпкъым дежкIэ къупщхьэм хуэдэщ –
Щытащ ар жаIэу пасэрейм.
Анэдэлъхубзэр хъуа къупщхьэншэ –
Зы къуэфI иIамэ тетт дунейм.

Нобэ мышэхужыр, къэралыгъуэ спутник телеведенеращ ди анэдэлъхубзэр къэзыухъумэнур, езгъэфэкIуэнур, хэхэсыр хэкум къезэгъуэхъуэпсэнур, къэзышэнур, къэзыщэжыпэнур. Спутник телеведеные закъуэращ, зэпэшхьэху къэралыгъуабэ шыпсэу зэIуэ-зэдэщIэ, зы бзэ зыIулъ зы лъэпкъ дыхъуным дыхуэзыщэнур.

Аращи икъухьа ди лъэпкъыр, спутник телеведныр хузэзгъэпэщын кхъуэфIым, пащIэфым поплъэр...