...................
...................

И ТХЫЛЪ ЗЭlЭПИМГЪЭХУУ ЩЫТМЭ АР АДЫГЭЩ

Щокъул Илхьан

                         
...................
...................
Иджыблагъэ лъэхъэнэхэм абатlкlэ бзэр зэрыlэпыхум гу лъызытэхэр мы бзэр зыфlагъэтын папlщlэу яфlэщ кърагъэкlауэ ялъэ къызэрихькlэ телэжьыхь зэпытхэщ. Я лъэжьыгъэхэри бзэ зымыщlэхэм иужькlэ зэрагъэщlэжыным теухуауэ ирагъэкlуэкl. Пэжу жыпlэмэ бзэ зымыщlэу иужькlэ зэзгъэщlэжынухэм теухуа щыщlагъэй димыlэу щыткъым, ауэ мы лъэжьыгъэхэм дыщыпылъкlэй ипэ ит щыщlагъэхэр Адыгэхэр щыпсэу щlыналъэхэм къыщыхъу къыщlыщlэ зэрышх зэрийхэм къагъэхъея сабэмрэ пшагъуэмрэ псыхэкlуадэ щохъуж.

Адыгэ гупсысэкlэр, абы и купщlэр, псэукlэр, абы дуней тетыкlэм къыхилъхьа фlыгъуэхэр бзэр кlуэдыжмэ зэрыхэщlыжынур гурыlуэгъуэу щымыт зэрышх зэрийкlэ гъэнчщlа лъэхъэнэхэм дыхэт зэпытщ. Адыгэ щытыкlэрэ дуней хэплъэкlэрэ мы бзэр зымыщlэхэм къагурыlуэу къаупсэлъыфын зыгуэру щыткъым. Щlэрыщlэу зыгуэрхэр къэдулъэпхъэщу щыткъыми бзэ зимыlэ лъэпкъыр хэти зэрищlэщи лъэпкъыжкъым. А лъэпкъым и цlэр арауэ щытми абаткlэ ахэр зибзэ къаупсэлъ лъэпкъым и блыпкъхэщ.

Бзэр зы псэущхьэ пэлъытэщ. Бзэр зэгурlуэныгъэм и lэмэпсымэу щытми Адыгэ гупсысэр утыку илъхьэфыным пэжу и lэмэпсымэщ. Щхьэм и лlыкlуэр бзэщ щlыжаlари арагъэнщ. Адыгагъэр цlыхуыгъэщ жаlэу айтlур зыпэлъытэу къэзгъэлъэгъуа гупсысэкlэр утыку къизылъхьэфыну бзэри шэрыуэу щытын зэрыхуейри нахуэщ.

Бзэр къэхъу къащlэ гуэрхэм декlуу зыкъигъэщlэрэщlэжу, зиужьу зы псэущхьэ гуэрщ. Бзэм зимужьу зыкъимыгъэщlэращlэжмэ игъэзащlэ lуэхугъэр иухауэ аращ. Мы бзэр зезыхьэхэм къакlуэ лъэхъэнэхэм къихь lуэхугъэхэр къыраупсэлъыжыфкъым абы щыгъуэй къытекlуэ бзэмкlэ къаупсэлъ мэхъури а бзэр мыбы ипlэ йоувэ.

Мы лъэхъэнэм илъэс щэщl ипэкlэ къызэргъуэгурыкlуэу щытар, бзэр Адыгэ хьэщlэщхэм унагъуэхэм къыщаупсэлъурэ зырагъэужьзэпытт, зыкъигъэщlэращlэт, лъэхъэнэхэм къихь гугъуыхьхэм хэкlыпlэ къыхуигъуэтт. Тхыдэр ди гъуазэщ, къэкlуэнур ди плъапlэщ зэрыжаlауэ къаупсэлъхэм хэти зыгуэрхэр ищхьэ елъытауэ къыхихт. Радиорэ телевизоррэ ди гъэщlэм къыхэхьэри щэхуурэ уэршэрыри хьэщlэщыри иухащ. Мыбы иужьи щlэблэ ущийныри еджапlэхэмрэ уэрамхэмрэ телевизорхэмрэ къахуэнащ. Абатlкlэ жыгым къыпыщэщ тхьэмпэм и кlуапlэр зыунэтlыр жьапщэм ипщэ къыдэнащ.

Иджыьлагъэ бзэм тегужьейхьахэм, дызхуэныкъуэхэм гу лъамытэмэ щыщlэныгъэу дызхуэныкъуэр нэхъыбэ хъун фlэкl зыкlэ нэхъ кlащхьэ хъуну си гугъэкъым. Сэ си гугъэмкlэ lуэрыlуатэм, жьэрыlуатэм теухуа бзэр зэгъэщlэгъуэри гъэшэрыуэгъуэри блэкlащ. Абыхэм къагъэзэжынууи щыткъым. Иджы тхыгъэм теухуауэ бзэр гъэшэрыуэным игъуэщ. Пэжщ телевизорхэри дэlэпыкъуэгъу къытхуэхъуатэмэ ауэ мы бзэр къэзупсэлъым и бжыгъэм апхуэдэ зы зэхэтыгъуэшхуэр къихъумэну си гугъэкъым.

Кlуэ какlуэ хьы къэхь хуэдэ псалъэ гуэрхэр къиупсэлъыфу езым бзэр ищlэу къызщыхъужхэр зэ еджэу тхэуэ щlадзэмэ ящlэр ямыщlэри утыку кихуэнт.

Бзэ зыщlэхэм мы бзэр зыфlагъэтын хуейщ, мыбы щхьэкlэй бзэ зыщlэхэм кlуапlэ жапlэ имыlэу тхэуэ еджэу щадзэн зэрыхуейр нахуэщ. Армыхъумэ бзэ зымыщlэхэм мы бзэр щlызрагъэщlэным щхьэусыгъуэ къыхуэнэкъым. Бзэ зыщlэм имыгъэшэрыуэ бзэр зымыщlэм сыт щхьэусыгъуэкlэ зэригъэщlэн хуей хъужын? Иджы дэ къытлъысыр дэнэ дыщыlэми дэнэ щыlэ хасэхэми мо зэ къызфlэувэу бзэ зыщlэхэм теухуауэ лэжьыгъэ ирагъэкlуэкlын хуейщ. Бзэ зыщlэхэм ябзэр ягъэшэрыуэмэ бзэ зымыщlэхэми щlызэрагъэщlэн щхьэусыгъуэ яхуэхъужынщ.

Нобэм иужь унафэ тещlыхьыгъуэжкъым, тхэуэ еджэгъуэщ. Щlэныгъэм я нэхъ пэжыр еджэнщ, щlыжаlари арагъэнщ. Адыгэу щlылъэм тет хэтми дэнэ щыпсэуми, сытым щыгъуэй ибзэкlэ тхэуэ, зы тхылъ гуэр lэщlэлъу абы еджэу иlыгъын хуейщ. Еджэ зэпыту зы лъэпкъ дыхъун хуейщ. Нэгъуэщl лъэпкъхэм мы лъэныкъуэк1э къыхэщ дыхъун хуейщ. Зыпымыкыу тхылъ еджэзэпыт арамэ ар – Адыгэщ- . Мыр тхузфlэмыкlмэ жытlэжыни къытхуэнэжкъым.