DİASPORADAN YAŞAMINDAN KESİTLER – КЪАРУХЭР ЗЭГЪЭБЫДЫЛ1А ХЪУМЭ

TEGULAN Yakup Temel (Тэгъулан Екъуб,Тыркум)

Зымахуэ,тыркум пхыдзауэ щыт къалэ ц1ык1ухэм язым егъэджак1уэуэ щылажэ ди благъэ щ1алэщ1э Лостэн Ерхьэн телефонк1э сыщепсалъэм, ”Даурэ уыхъурэ,уыздэк1уам уеса?” жез1эт.

”Хъарзынэщ,к1уэху досэ..” жери кЪыпеджэжащ. Зэрык1уэрэ мазых хъуат.

”Уезэшрэ, адыгэ щыбгъуэта?”

”Адыгэ куэд дыщызрыгъуэтащ.Щ1алэгъуалэхэр хэмыту унагъуэ 26_рэ дохъу,дызк1элъок1уэ,тхьэмахуэ къэси дызхос.” И макъыр икъук1э нэжэгужэу къэк1уэт ауэ игъусэхэм адыгэбзэ щ1агъуэ зэрамыщ1эм хуэтхьаусыхэт. Къалэм къыщыхъуа пэтрэ адыгэбзэ дэгъуэ ищ1эуэ,адыгэгъэ хэлъу щыт щхьэпэлъагэ щ1ал1э къек1у Лостэныр,дэнэ уыщыпсоми,яужъ уиту шытмэ, ц1ык1ухэм адыгэбзэ заребгъэщ1эфынуым и нэшанэщ.

Си благъэ щ1алэр зэрыхуэзам хуэдэуэ,тыркум и къэлэ псоми, хэдз щымы1эуэ,адыгэ щопсоу.Истамбул,Анкъэрэ хуэдэ къалэщхуэхэм ар минищэ бжыгъэхэм нос.Мащ1э куэдми,адыгэ зыщымпсоу щ1ып1э щэ1экъым,адыгэм и к1эмэлъамэ зыщымуаи мащ1эщ.

Тыркум адыгэ зыдэмыс къалэ зэрыщымы1эр,сэри илъэс 20 ипэ сгъэунэхуат.Абы щыгъуэ,нэхъыбэуэ курт лъэпкъыыр щыпсоу къуэк1ып1э лъэныкъуэ къалэ гуэрэм, зы илэс п1алъэк1э дохтыру сыщы1эгъэщ.А зы илъэсым ик1уэц1ым,тыркум и щ1ып1э куэдым къик1ауэ а къалэм къулыкъу щызыщ1э адыгэ къом дызрыгъуэтри,гурэ псэрк1э ф1ыуэ зэрылъагъу гупыф1 дызрыгъэхъуат.Тыркухэм,адыгэхэр дэнэ фыщы1эми фызрогъуэт,дэнэ лъэныкъуэк1эи фи 1эр нос къыджа1э зэпытщ.Жа1эр пэжщ,мы жылагъуэм,1эщ1агъэ зэрыз я1эуэ,1энат1э нэхъыщхьэ куэдым увып1э быдэ щагъуэтауэ ауэ лъэныкъуэ псомк1э щикъухьэуэ адыгэ куэд щопсоу.

Я къарухэр зэрыхъун хуейм хуэдэуэ зэгъэбыдыл1акъым анэхък1э,щ1эныгъэк1эи 1эщ1агъэк1эи зэщ1эузэдауэ щыт адыгэхэр тыркум щыкуэдщ.Я къарур зэрагъэбыдыл1эрэ зэгъэу1уауэ зэдэлажэмэ,адыгэхэр диаспорэм нэхъ лъэщ зэрыхъунухэм къыщымынэуэ,я Хэкужми,абы ис я лъэпкъагъухэми сыт и лъэныкъуэк1эи ирехъу, щхьэпэ яхуэхъуфынущ.