UZUNYAYLA’DA DÜELLO – КУЫП И КЪУЭМРЭ БАТЫРДЭГУ АЛДЖЭРИ Я Л1ЫГЪЭ

TEGULAN Yakup Temel

Хьэпэщ1ейрэ Локъуажэ языхуаку, Мэчанекъуэк1э еджэу зы къуэшхуэ дэтщ. Мы къуэр, Л1ыгъуырхьэблэ къуажэм къыщожъэри зиуыбгъуурэ ик1и тэк1уи хуэегъэзыхыгъуэурэ къуэхьэп1эмк1э зеукъуэдий, Псышхуэм игъуынэгъу щыхъуым ф1ыуэ зэв мэхъури щеуых. Къуэм и лъэныкъуэ псомк1э, ищхьэхэмк1э къыщыщ1ив псынэ ц1ык1ухэр зэхолъэдэжри блэм ещхьыу зыз1уант1э псы1эрышэ ц1ык1уу, къуэм ику дыдэм дэтыурэ йожэхри Псышхуэм холъэдэж. Псы1эрышэм и 1уыфит1ыр ек1уэк1ыу мэкъуып1эщ, нэхъ ищхьэхэри хьэсэщ, къуажэдэсхэм мэщ хащ1э, абы ищхьэжхэри 1эщ хъуып1эщ. Мэчанекъуэ, лъэныкъуипл1ыр къуырш ц1ык1ухэмрэ бжэпэхэмк1э къэхуыхьэ хуэдэуэ щытщи жыугъуэджэщ, гъэмахуэм хуэбэ1ей мэхъури 1эрыгъуейм удигъэткъым. Абы щхьэк1э, мэкъумэшыщ1эхэм а хьэсэхэм  щылэжъэныр къайхьэлъэк1ыу щытщ. Къуэм и дыгъэ къыкъуэк1ып1э лъэныкъуэмк1э Хьэпэщ1ей, къуэхьэп1э лъэныкъуэмк1эи Локъуажэ щысщ. Хэкуым къык1ыуэ къызэрыт1ысрэ, псым и адрыш1ыр лъэныкъуит1ым зэпаубыдыурэ къогъуэгурык1уэ. Мис иджы къэхъуауэ зи гуыгъу тщ1ынур къызтехъныик1ар мы ш1ыгуращ.

1895 гъэм и гъатхэ. Вэгъуэщ. Иджыри къас, Мечэнекъуэ псым и адрыщ1ым щхьэк1э, къуэжит1ым уэуейщ сэсейщ жъэ1эурэ зэныкъуэкъу, лъэныкъуит1ми вы щы щагъэхъу щыта ф1эк1а зэик1 яватэкъым. Арщхьэк1э мы гъатхэм щытык1эр зэрихъуэк1ат, Локъуажэхэр мы щ1ыгуыр явэну къихьэхэт! Ар Хьэпэщ1ейхэм зэхах, Батырдэгу Алджэрийи зэхэх.

Батырдэгу Алджэрий хэт? Хэкуым къыщык1ахэм, Хьэпэщ1ей зыухуар Батырдэгухэт, абы ипэк1э и ц1эр батырдэгухьэблэу щтат. Ауэ иужък1э Батырдэгухэ къуажэм щыдэк1ыжым, абы щыгъуэ Хьэпащ1эхэ нэхъ хуэщ1ати, къуажэм иц1эр ахэм я унагъуэц1эм къытенащ. Алджэрий л1ы бэлыхьлажъэт, л1ы пхъашэт, л1ы хахуэт. Ди щ1ыналъэ фыкъимыхьэ, щы вы щывмыгъэхъу дыгъэмыхъуэр дыдейщ дыгъэп1эр фыфейщ  жэри зэрэт1орэ Локъуажэхэм яхуи1уэхуат ауэ нобэ вы щы гъэхъуыным къыщымынэу явэт!Ар хъуыну зыгуорэтэкъым.

Локъуажэ щыпсоу Куып и къуэ, и къуажэгъэухэр а махуэм вак1уэ къэмык1уэ зы махуэ ипэ, Алджэрий деж л1ык1уэ къыхуигъэк1уат,

«Свэну снэк1уэнущ, щ1ак1уэр сэ нызохь, уэри уи джэбынымрэ (хьэдэр щыщ1алъхьэк1э кърашэк1 хъыдан хуыж) уи сэшхуэр къэхь, хьэу жып1эмэ щ1ым пык1»жери.

Алджэрий хуэдэ зы л1ы бзаджэм апхуэдэуэ л1ык1уэ къыхуэзгъэк1уэфынур хэт жыв1эмэ ари къывжет1энщ, Л1ыгъэк1эи бзэджагъэк1эи Алджэрий къык1эрымыху Куып и къуэращ зигуыгъу тщ1ыр. Куып и къуэри Локъуажэм и л1ы гуырбиянт.

Куып и къуэм къи1уэхуар зэхэзыха Алджэрий пхоувэ1этн, илъащ ипк1ащ, сабэр дрипхъеящ. Ет1эрэней махуэм щым шэсщ, л1ит1щыи зэдищ1ыгъури псым адырыщ1ым к1уащ. Плъэмэ, Локъажэхэр пхъэ1эщэжък1э мавэри хэтхэщ. Пхъэ1эщэжъ жыхуа1эр, 1эгъуымлъэгъуыму, и вабдзэм ф1эк1а гъуыщ1 хэмылъу, сыт жигым къыхащ1ык1ами абатк1э щымы1эу быдэу, пхъэ защ1эк1э щ1ауэ щытт. Апхуэдизк1э быдэти,  мывэ сыт хуэзамэ гъуыщ1ыр къигъэшын анэхъ къуытэнтэкъым. Ахэр Хэкуым къыздырахауэ жа1эт.

Джэри и гъуысэхэм,

«Фэ моуэ фищхэм фыкъепсых, фивхэр щ1эвт1ык1ий зы лъэныкъук1э зевгъэз» яжре1эри егъэбыяу. Локъуажэхэр пхъэ1эщэ зыхыблк1э адрыщ1ым хэхьауэ вэхэт. Джэри а нап1эзып1эм щык1э яхэлъадэщ, выхэр щ1аригъэт1ык1щ, лъэрыхъыпсыр щ1идзэурэ пхъэ1эщэжъхэр зэхуилъэфэсщ маф1эри щ1идзэри игъэсащ. Ит1анэ Джэри,

«Куып и къуэр къевджэ иджы» жи1эщ. Куып и къуэр адэк1э щысти къраджащ.

«Къэщтэ иджы уи щ1ак1уэ к1апэр»

Щ1ак1уэр яуыбгъу. Абы щыгъуэ, ш1ак1уэ к1апэ зэдытеувахэр зэпыджтэкъым, къызреупщ1этэхт. Сэшхуэмк1э уеуэк1э пиуыпщ1тэкъым, тепкъуызэурэ укъе1энут. Апхуэдэурэ хэт нэхъ бэшэчми, хэт нэхъ л1ыгъэ хэлъми нахуэ къэхъут. Иужъым, л1ы бзаджит1ыр щ1ак1уэ к1апит1ым зэдытеуывэри сэшхуэхэр я1ыгъу зэпыщ1эувахэщ. Зылъэгъуахэм быдэу жъа1ыж, т1ури къимк1уэту, зыр джалэу ук1уырийху лъыпсыр къапыжу зэрыупщ1этауэ!

Ипэщ1ык1э джэлар Куып и къуэращ. И къуэжэгъухэм гуым ирагъэгъуалъэхьари яшэжащ. Алджэрийри у1эгъэф1 хъуат, ари гуым ирагъэгъуалъхьэу яшэжын я мурада щхьэк1э,

«Тхьэр сгъэпц1а, ц1ыхуыбзым хуэдэу гуым силъу си къуажэ сыдэмхьэжын, сищ сышэсыжынщи скъек1уырехыу сл1эху ск1уэнмэ»жери яхуидакъым. Жъыхуи1эм хуэдэуи и къуажэ дехьэжащ.

У1эгъэ хьэлъэ хъуа щхьэк1э, л1ит1ри, у1эгъэм ил1ык1ак1ым, хъуыжхэри куэдрэ псоуыжахэщ. Псым и адрыщ1ри Хьэпэщ1ейхэм къахуэнащ.

Тэгъулан Екъуб
Тыркуым, къайсэр къалэ