Ивгъуэтэнухэр





 

.

.

КIЫГУУГУ ЛЪЭПКЪЫМ Я КIУЭДЫЖЫКIАР
Жылэтеж Сэлэдин

CC-Culture and Art Department

.

Мыпхуэдэу къуалэбзу хасэм сэ куэдрэ сыкъыщопсалъэ. СиIэщ сызыгъэпIейтей, щыIэщ фызэзгъэдэIуэн, ди куейм щыпсэу псэущхьэхэм, къыщыкI къэкIыгъэхэм я гъащIэр хъума зэрыхъунум срогузавэ. КIэщIу вжесIэнщи, ди попугай лъэпкъым сыщытепсэлъыхькIэ абы и гъащIэри и къэкIуэнури адрей дыкъэзыухъуреихь псоми епхауэ зэрыщытыр къызгуроIуэ.

.

Дунейм лей лъэпкъ къыщигъэщIакъым, щыIэу хъуар зэпхащ, гъащIэр зэдагъэщIэращIэ. Аращи, ноби жысIэнщи, къапщтэмэ, дэ нэхърэ нэхъ гъащIэ кIыхь къызыпэщыт мы мэзышхуэм зы псэущхьэ лъэпкъи щIэскъым. ИкIэ къинамэ илъэс 300- р дэтхэнэ зыми ди Iэрылъхьэщ! Ди зэфIэкIыр- щэ! Дэ Iэджэм дыкъыщацIыху, куэдым ди хабзи бзыпхъи щащIэ.Мы ди мэзыр дэнэ къэна, дунеишхуэм дэ нэхърэ нэхъ зэфIэкI зиIэ лъэпкъ щыбгъуэтынукъым. Уеблэмэ, арагъэнущ дэ зыкъыдэзгъэщхьыну зыфIэфI, ди хабзэхэр щапхъэ зыхуэхъу гъунэжу дэтхэнэ зы къуалэбзу лъэпкъми къащIыхэкIыр. Ауэ итIани, лъэпкъ мащIэ дыдэхэр щыIэщи, ахэр къызэрызэтенэнум, абыхэм я бзи, я хабзи яхъумэжа зэрыхъунум дыхэтын хуейщ. Дэ игъащIэми лъэпкъхэр дызэхуэсакъыу, дызэрыхъумэу дызэдопсэур.

КIуэдыжыпэнкIэ хъуну лъэпкъ мащIэ дыдэхэр здэтхъумэфын папщIэ икIэщIыпIэкIэ Тхылъ плъыжьым иттхэнщи тлъэкI къэдмыгъанэу дахуэсакъынщ. Зыр адрейм емыщхьу зэмылIэужьыгъуэ куэду дызэрызэхэтыр дэ псоми ди къулеягъщ, насып мыухыжу диIэщ,- псалъэрт шордакъым ит попугайр Iэдэбу икIи нэщхъыфIэу къуалэбзухэм къахэплъэурэ.
- Нобэ щыщIэдзауэ нэхъ набдзэгубдзаплъэу дахущытынщ…
- ХъумакIуэ щхьэхуэхэр, жэщ плъырхэр яхухэтхынщ… - зым къригъажьэр адрейм Iэпихыу къуалэбзу зэIущIэм кърихьэлIахэм псалъэ зэдатырт.

Абы щIэдэIуурэ, кIыгуугум Iуфэлъафэр къилъэтыхьырт. Зэми ар Iэуэлъауэншэу хасэр езыгъэкIуэкIхэм ябгъэдэкIуатэрт, къабгъэдэкIуэтыжырт. Хасэр иухыу къуалэбзухэр зэбгрылъэтыкIыжа нэужьи, пщIащэхэр зэщIигъэхъаеу ар куэдрэ никIукIащ, къикIукIащ а зэхихахэм егупсысурэ. Ауэрэ лъагэу зиIэтыжри жыгыщхьэм итIысхьэжауэ тэлайкIэ гупсысэу щыса нэужь, и щхьэм хужиIэжу къыхидзащ: «ИкъукIэ сыщыуащ нобэр къыздэсым хэх симыIэу хэт и абгъуэм сыхуэзами сикIацIэу сызэрыпсэуамкIэ. ДяпэкIэ попугай джэдыкIэхэрщ си джэдыкIэхэр зыхэзгъэпщкIуэнур. Нэр мыплъэмэ, гур плъэркъым, жыхуаIэращ, иджыри къэс абы гу зэрылъызмыта?! Нэхъыбэр нэхъ лъэщщ, нэхъ лъэщыр- захуэщ, абыхэм уапыщIауэ ущытынри, шэч хэмылъу, нэхъыфIщ. Мы пыIэзэфIэхь махуэм узыгъэпэжынури къыпхуэщIэнукъым. Ауэ, дауэ мыхъуами, попугай лъэпкъым запытщIэмэ, дэ дыщыуэнукъым»,- зэми ищхьэм хужиIэжу, зэми макъ утIыпщакIэ псалъэу кIыгуугум куэдрэ мэзыр къызэхилъэтыхьащ.

Попугайр темысу зригъэхьэлIэурэ кIыгуугум и джэдыкIэхэр абы и джэдыкIэхэм мызэмытIэу хигъэзэрыхьащ. КIыгуугу джэдыкIэхэр сыт хуэдэ къуалэбзу джэдыкIэхэми къахыумыцIыхукIыу хагъэзэрыхьыф…
Попугайр гъуэлъхьэжащ, кIыгуугуми, зэрихабзэти, и щхьэ закъуэрэ и лъакъуитIу, зигъэтхъэжу ежьэжащ.

- Уа- хьэ- хьэ- хьэй ! Си джэдыкIэхэр езым къикIэцIа и гугъуэу попугай къуртым къришынущ. Сыту жыIэзэфIэфI а лъэпкъыр! Зыми щыщкъым ахэр къэбгъэпцIэныр! Сэ си нэгу зезгъэужьыуэ сыпсэунщ, абы си шырхэр къысхуришынущ. Жыг зытехуэри пщIащэ зытехуэри мэгурым, жыхуаIэращ,- ауан ищIырт кIыгугум попугай гъуэлъхьэжар щыблэлъэткIи къыщыблэлъэтыжкIи…

Зэгуэрым попугайр шхыныхьэ ежьауэ кIыгуугур абгъуэм щхьэщытIысхьащ. Шырхэм я жьэр ущIауэ кIыгуугум зыкъыхуашиящ, ауэ абы и шырхэр къыхуэцIыхужакъым- псори пцIанэт икIи цIынэт.
Хьэпщхупщ Iурылъу къэсыжа попугайм и абгъуэм щхьэщыс кIыгуугур къыщилъагъум гузавэу жыгыр къиуфэрэзыхьу хуежьащ. Абы гу лъитэри кIыгуугур лъэтэжащ…

И щхьэ закъуэрэ и лъакъуитIу зигъэтхъэжу аргуэру тэлайкIэ кIыгуугур псэуа нэужь, и шырхэр илъагъуну ежьащ. Попугайр къэту зыхуигъазэри ар абгъуэм тетIысхьащ. Шырхэм я жьэр ущIауэ кIыгуугу бгъафэм зыкъыщIадзами, абы абгъуэм исхэр мыпIащIэу зэпиплъыхьырт. Гъуабжэлъабжэу цы фэнд къатекIэу щIидзауэ абгъуэм къыщыпIэжьажьэхэр зэрыкIыгуугу шырыр нэрылъагъут. КIыгуугу шырхэм къыдраша нэгъуэщI шырхэр япэ махуэ зыщыплIым абгъуэм кърадз. Ар ищIэрти кIыгуугужьыр сакъыу щIым еплъыхыу щыст. Псэ яхэмытыжу къуаргъ шыр дияхэр жыг щIагъым щIэкъухьат. Абы кIыгуугужьым нэхъри и фIэщ ищIырт абгъуэм исхэр зэрыкIыгуугу шырыр. Ауэ абыхэм я «цIу-цIу» макъыр попугай шырхэм я кIий макъым нэхъ ещхьти абы кIыгуугужьыр къигъэуIэбжьауэ Iэнкуну ящхьэщыст. И тхьэкIумэр тегъэхуауэ сыт хуэдизкIэ а шырхэм я «цIу- цIу» макъым ар щIэмыдэIуами, «кIыгуугубзэ» къыхухэубыдыкIыртэкъым. «Мыр дауэ?- къэщтащ кIыгуугужьыр,- мыхэр си джэдыкIэщ къызрашар, щхьэ си бзэр ямыщIэрэ?.. СыщыуэнкIэ Iэмал иIэкъым… Мы абгъуэ дыдэращ сэ сызыхэкIэцIар… Уеблэмэ, си джэдыкIэхэр щахэзгъэзэрыхьым абгъуэм къиздза попугай джэдыкIэхэр зытекъутыхьа къудамэм иджыри лъэужьыр текIыжакъым»,- гупсысэу кIыгуугур здэщысым попугайр къэсыжащ. Ар кIийуэ къыщетIысэхыжым, кIыгуугур щтэри лъэтэжащ.
ЩтэIэщтаблэу, а илъэгъуам егупсысу махуэхэр игъэкIуащ…
Аргуэру зы зэман зэ «си шырхэм шхын яхуэсхьынщи закъезгъцIыхужынщ. Ахэр кърашын кърашащ, си бзэр езгъэщIэжынщ»,- жиIэщ, хьэпIацIэу щыIэм я нэхъыфIыр зэщIикъуэри кIыгуугур ежьащ. Попугайр лъэтэху пэплъэри, шырхэр абы игъэшхащ, ауэ щIэдэIу пэтми, «цIру- цIру» макъ зэхихыр кIыгуугу макъыу къыхуэмыщIэу абы игъэгуитIщхьитIу щыст.
- Сыт уэ мы си абгъуэр кIуапIэ къыщIэпщIар?- кIийуэ къыжьэхэлъащ попугай къэсыжар.
- Си шырхэм шхын къахуэсхьауэ арат,- къригъэжьащ Iэдэбу кIыгуугум.
- Уи шыр искъым си абгъуэм. Сэращ ахэр къизышар!- хуилъащ абы попугайр.
- Нэ уиIэххэмэ плъагъунщ ахэр зэрыкIыгуугу шырыр… попугайм ехъурджэуэну къыщIидзат кIыгуугум.
- Сэ къисшахэр сэращ зи шырыр!- зэпиудащ абы и псалъэр попугайм.
- Дэ ды- кIы- гуу- гущ. Ди шырхэр зэикI къитшыжыркъым, хуежьат попугай пащхьэм кIыгуугум зыщигъэзэхуэн.
- Шыр ухуейтэмэ, щIэблэм папщIэ гухэщтыкI уиIэтэмэ, уэ къипшыжынт!- щIэкIиящ аргуэру попугайр кIыгуугум.
- Дэ, кIыгуугухэм, ди шырхэр къидмышыж щхьэкIэ, щIэблэ къытщIохъуэ… ЗэикI ди шырхэр ттрахакъым, иджы къэхъуар сыт?- къригъэжьащ и тхьэусыхафэр кIыгуугум.
- IукI, IукI, IукI, сэращ ахэр къизышар,- зэригъэпсалъэртэкъым попугайм кIыгуугур,- ахэр зейр иджыри къэс гугъу дехьарщ,- зэкIэлъигъэпIащIэу къыжьэдэлъэлъырт абы.
- Ар пэжщ, ауэ итIани сэращ ахэр зи лъэпкъыр.
- Сыт лъэпкъ жыхуэпIэр? ДжэдыкIэр дапщэщ лъэпкъ щыхъуар? Абыхэм псэ хэзылъхьаращ нэхъапэр,зейр.Уи Iуэху лъэпкъ хэлъкъым,пыкI абы
- Ар дауэ?
- Мис апхуэдэу! ДяпэкIэ зэикI мыбдежым зыкъыщызумыгъэлъагъу. Сэ къисшахэр сэ зыхуей хуэзгъэзэжынщ.
- НэгъуэщI сыхуейтэкъым, си бзэ тIэкIур езгъэщIэжатэм,- жиIащ зигъэтхьэмыщкIафэу кIыгуугум.
- Сыт си бзэ жыхуэпIэр? Уи бзэм къикIыр уи цIэращ, хэт абы хуэныкъуэр?
- КIыгуугухэр хуэныкъуэщ кIыгуугубзэ,- гущIэгъу хэлъу къипсэлъащ абы.
- Сэ абы си Iуэху хэлъкъым!- кIийурэ попугайм и щхьэр иридзэкIащ.
- Ди щIэблэм ящIэн хуейщ…
- Еу- уей мыгъуэ, сыт уэ узыхэтыр? КъэдаIуэ мыдэ, зи зэхэщIыкIыр мащIэ,- кIиящ попугайр,- нэхъыбэ дыдэрэ псэу къуалэбзухэм дащыщщ дэ. КIыгуугу шырхэм я жагъуэнукъым куэдрэ псэуну. Пэжкъэ! Сыт- тIэ узыхэтыр? Дэ, попугайхэм, дощIэ гъащIэ кIыхьым и «щэхухэр».КъищынэмыщIауэ, дэ дызэрымыпсэлъэф бзэ щыIэкъым. КIыгуугубзэри абы хэтщ. Егупсыс а шырхэр ди лъэпкъым утыкушхуэхэм иришэнущ. Фэ, кIыгуугухэм, фи бзэ жысIэнкъым, ауэ фи гъащIэми псэукIэми емыхъуапсэ мы мэзышхуэм зы къуалэбзу лъэпкъ закъуи щыпсэуркъым. Псоми гу зэрылъатащи, зывогъэтхъэжыф. Ауэ пэжыр- пэжщ, фэ щIэблэм гугъу зыхуевгъэхьыркъым. Дэ апхуэдэу дыпсэуфыркъым. ЩIэблэращ дызыхуэпсэур, абыхэм гугъу захудогъэхь. Мы шырхэри кIыгуугуми попугайми сыт си дежкIэ? Ахэр ин хъунурэ лъэтэнущ, ауэ хэт ейми щIэблэ къэзгъэхъуащ, ар си дежкIэ Iэджэ иуасэщ,- иущийрт попугайм кIыгуугур зигъэгумащIэу.
- Сэри щIэблэм уэ пхуэдэу куэд хуэзмылэжьыфми, и бзэм уэ нэхърэ нэхъ срогузавэ.
- НтIэ, апхуэдизу абы ущригузавэкIэ, мы шырхэм уи бзэри егъащIэ,- жиIащ попугайм, ифI зыкъришэжурэ.
- Дауэ?- гуфIауэ щIэупщIащ кIыгуугур.
- Нэхъ укъыщыдэхуэхэм деж зыкъребгъэхьэлIэурэ,- зигъэпагэу къипсэлъащ попугайм.
- Ар дэгъуэт…
- Хъунщ, дызэгурыIуащ,- кIакIэурэ попугайр и абгъуэм деж тетIысхьэжащ. КIыгуугур лъэтэжащ… МахуэкIи махуитIкIи ар попугайм къыжриIахэм егупсысащ. Абыхэм кIыгуугум и фIэщ хъуи, шэч къызытрихьи хэтт…
- ЗэрыхъуIамэ хъунщ!- тегушхуащ ар зы махуэ гуэрым, си шырхэм я насып зыми ятрихынкъым. Хэт ищIэрэ? А сызыIууа Iуэху мыщхьэпэу сэ къысщыхъум си щIэблэр нэхъ насыпышхуэ хуишэнуми сщIэркъым… Узэгупсыс хъун чэнджэщ хъарзынэ къызихьэлIащ сэ а попугай Iущым. Ауэ упщIэ щIэщхъуркъым, сежьэнщи си лъэпкъэгъухэм захуэзгъэзэнщ, сайчэнджэщынщ,- жиIэри, макIуэ- мэлъей, кIыгуугур лъэтащ…
КIыгуугухэм я хэщIапIэхэр ищIэ пэтми, абы зыри и лъэпкъэгъухэм ящыщ имыгъуэту зы тэлайкIэ къилъэтыхьащ.
ИкIэм икIэжым, кIыгуугуитI- щы уэршэру жыгыщхьэм тесу къилъэгъуати, чэнджэщакIуэ ежьам абыхэм забгъэдигъэхуащ.
- Сыту лъапIэ хъуа нобэ мы кIыгуугухэр,- псалъэмакъым щIидзащ абы.- Мэзышхуэр щIупщытыкIми къыпхуэгъуэтынукъым…
- Дэ дыпфIэкIыгуугукъэ?- хуилъащ абы зыр.
- Фэр нэмыщIкIэщ жыхуэсIэр,- игъэтэмэмащ.
- Дэ дымащIэми дыхахуэщ, цIэрэ щхьэрэ диIэщ. Ди хабзи ди бзыпхъи ящIэ,- зигъэхъуу къэпсэлъащ адырейр.
- Дыхахуэ дигугъэурэ дыкIуэдыж къысфIощIыр,- бауэбапщэу къыжьэдэлъэлъащ къежьа кIыгуугум.- Гужьеигъуэ къыслъысати сынывэчэнджэщыну сыкъежьащ.
- Умыхьэгъапхъэ!Хэт дэ дызыгъэкIуэдыжыфынур?
- СлIожь, кIыгуугу уз къежьауэ зэхэпха?
- Ар нэхъ Iуэхути!- зэпеуэу хуилъащ абы жыгыщхьэм исахэр.
- ДымыкIуэдыжащэрэт!- зызыщIилъэфыжащ чэнджэщакIуэ къежьам.
- Уа- хьэ- хьэ- хьий мыгъуэ, сыт мыбы къибжхэр?- игурэ и щхьэрэ зэтелъу зигъэмакъгъумащ ещанэм.- Адрей къуалэбзу лъэпкъхэр дэ дымыгъуэкIуэдыжащэрэт! «ЗызыщIэж щыIатэмэ, зызылIэжи щыIэнт», жыхуаIэращ ар. Уэр- уэру егупсысыт. А дэ зэхэтщIыхь псом къуалэбзу жыIэзэфIэщIхэм гу зэрылъамытэр ди насыпщ! Сыт абы и щIыIужкIэ дэ, кIыгуугухэм къытхуебгъэщIэну узыхуейр? Сыт хуэдэ бзу лъэпкъ и абгъуэ дыхэкIацIэми абы ди зы джэдыкIэ хэтлъхьэху езым ей абгъуэм къыдодз. Зывумысыжыт, ар пэжкъэ? Пэжщ, пцIы лъэпкъ хэмылъу. Ар зы. ЕтIуанэрауэ, ди шырхэр къраша нэужь, япэ махуиплIым къриубыдэу, нэгъуэщI къуалэбзу лъэпкъым и шыр абгъуэм ирамыгъэсу кърадз. Хэт ар фэ фщыщу зымыщIэр! Ауэ щыхъукIэ, а псор дэ къытхуэзыгъэгъу къуалэбзухэм дэ фIыщэу дыкъалъагъу, абыхэм дэ къытхуамыщIэ щыIэкъым.
- Дэ дыкъыщамыцIыху щIыпIэр укIуэдыж! Ди псэукIэм, ди хабзэм къемыхъуапсэ дэнэ къыздипхынур?
- КIыгуугу псэукIэм щIэхъуэпс къуалэбзухэм сахуэзащ. Я гурыIупсыр къафIекIуэу ди псэукIэ дахэм тепсэлъыхьхэр гъунэжщ!- зэпеуэу Iурагуэжырт гукъеуэ зиIэ кIыгуугум.
- Ди бзэ тIэкIур тIурымылъыжым дыкIуэдакъэ?- дзыхь имыщIыщэурэ къипсэлъащ абы.
- А- а- а-, хэт уэ уи бзэм къыщыгугъыр?- къыфIэIуэхуакъым зым.
- ЖыпIэнщ иджы ди бзэр бзу псоми бзэуэ къахуэнэну,- къехъурджэуащ сыт щыгъуи зызыгъэхъур.
- КIыгуугубзэт иджы ямыдыгъужар!- ауан ищIащ ещанэм.
- ТфIадыгъункъым. Тщыгъупщэжынщ,- «кърипхъащ» и тхьэусыхафэр кIыгуугу къэлъэтам.
- Уэ кIыгуугухэр зумыпэсыжу нэгъуэщI къуалэбзу куэд ныбжьэгъу къэпщIрэ бзэмыIу ухъуамэ, хэт зи ягъэр,- жиIэурэ бзэ зэхэзэрыхьа макъкIэ дыхьэшхащ зызыгъэхъур.
- Си щхьэкъым сыщIэгузавэр,- щыжиIэм,- дэр щхьэкIи- тIэ умыгузавэ!- къыхуилъащ адрейр.
- А- ау- уей, ухэмыт абыхэм. Уэ ущыгъуазэкъэ ди бзэри ди хьэл- щэнри яджу институтхэр зэрыщыIэм? Ди гъащIэри псэукIэри куэдым зэрызэрагъащIэм? Си гугъэщ иджыблагъэ инджылызхэм ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэм фэри фыщыгъуазэу… Абыхэм къызэралъытэмкIэ, кIыгуугу джэдыкIэу 9I9- рэ бзу абгъуэ 76- м кърахащ. Абгъуэ бжыгъэр I50- м нэсу къэзылъыти щыIэщ. Зыдумысыжынщи, абыхэм ди бзэджагъэр къащIащ, ауэ ди джэдыкIэхэр сыт хуэдэ къуалэбзу лъэпкъми я джэдыкIэм зэрыхэдгъэзэрыхьыфыр ящIэркъым… Пэжым ухуеймэ, мы зэманым дэ нэгъуэщIыбзэ зэдгъэщIэнкIи, ди бзэ зыгуэрым ищIэнкIи емыкIу илъкъым- бзухэр дызыпэIэбэ зэпытщ, ди ерыскъы зэIулъщ, ди IуэхущIафэ зэхэхакъым… Уэ укъызыдэкIа къуаладжэр дэнэ, дунейм къыщыхъу- къыщыщIэхэм апхуэдизу упэIэщIэну?- къыхуригъэкIуэкIырт кIыгуугу зызыгъэхъум.
- Ар мэгушыIэ, дигъэгужьеину хэту аращ…
- ИкъукIэ хьэгъапхъэщ!
- Iэмбатэ зэрымытым Iэтэ ирегъэувэ,- къытрагъэзэжурэ хуэхъущIэрт кIыгуугу гупыр чэнджэщакIуэ къежьам.
- Ди шырхэр къитшыжыркъым,- къыхидзат аргуэру и гукъеуэр кIыгуугу къэлъэтам.
- Ари хъыбарыщIэу къыбжепIакъым,- зэпаудащ ар, ауан ящIу.
- Ар ди лъэпкъ хабзэщ, хуэмыху! Аращ дэ адрей лъэпкъ псоми дезымыгъэщхьыр… А хабзэ дахэр тфIэкIуэдмэ, итIанэщ кIыгуугу лъэпкъыр ды- щыкIуэ- ды- жы- пэр!- къыщIигъуащ кIыгуугу зызыгъэхъум.
- Аракъым сэ сыщIэгузавэр,- иухыртэкъым кIыгуугум и тхьэусыхафэр.
- Сыт- тIэ?- хуилъащ абы зыр.
- Си шырхэм кIыгуугубзэ ящIэжыркъым,- гузавэу иIуэтащ чэнджэщакIуэ къежьам.
- КIыгуугут иджы кIыгуугубзэ зымыщIэжыр…
- Мы кIыгуугу къытхыхьар хэпсэлъыхьу къыщIэкIынщ…
- Сыт мыбы къибжхэр?- зэхъуцэцащ уэршэру щыса кIыгуугухэр.
- Ди бзэ мыгъуэр дымыщIэжым, ар тхьэмыщкIагъэшхуэкъэ?.. Аращ си шырхэм бзэр зэрамыщIэжым и гузэывэгъуэщ сыкъезыхужьар,- къыпищэри зигъэтхьэмыщкIафэу зызэфIигъэпщхьэжащ кIыгуугу къэлъэтам.
- Си шырхэр куэд щIауэ слъэгъуакъым, уеблэмэ къызэрырашрэ салъыгъуэзакъым. Сыт абыхэм бзэр ящIэкIи ямыщIэкIи?- жиIащ зыкъуомрэ хэгупсысыхьа нэужь кIыгуугу зызыгъэхъум.
- Мы кIыгуугу къежьам къытхуихьа хъыбарыр пэж дыдэу къыщIэкIым- щэ?- къипсэлъри нэщхъей щIэхъуэжащ адрейр.- Зэзэмызэ дакIэлъыплъми ягъэ кIынкъым ди щIэблэм, щIигъужащ къэуIэбжьауэ.
- А- а- а, зэрыкIыгуугур ящIэжмэ арпащ сытми…- и чэнджэщ къыхилъхьащ ещанэм.
- ГъащIэ, узыншагъэ яIащэрэт, зыхуей- зыхуэфIхэр ираIуэтэну зы бзэ гуэр ящIэмэ аращ…
- Си бзэ, уи бзэ щыIэ абы…
- КIыгуугубзэм жыжьэ уихьынукъым…
- Уи бзэм хуэдэ щыIэ?..
- Иджрей зэманым уи бзэ дыдэр пщыгъупщэжкIи емыкIу илъкъым,- зэхуаIуатэрт я гупсысэхэр кIыгуугу хэгъэрейхэм загъэгубзыгъэу.
- НтIэ, сэ къызгурымыIуэ гуэр мы Iуэхум хэлъу пIэрэ?.. Мыхэр абы щримыгузавэкIэ сэ сынэхъ лей? Иджыри сызыIуплъынщ,- и щхьэм хужиIэжурэ кIыгуугу хьэщIэм зызэщIилъэфыжри лъэтэжащ. АрщхьэкIэ абы и гур гузэвэгъуэм иутIыпщыртэкъым- жэщми махуэми ар и шырхэм ящIэгупсысырт, кIыгуугубзэ абыхэм зэрамыщIэнум иринэщхъейрт. Ауэ и щхьэ закъуэ илъэкъуитIу зызыгъэтыншу псэууэ есар гъащIэ нэгузыужьыгъуэм дихьэхыжри и шырхэм я Iуэхур хуэм- хуэмурэ IэщIэхужащ, и быным хуищIэн хуей къалэнхэри, щIэблэ насыпым хуэлэжьэн зэрыхуейри щыгъупщэжащ. «КIыгуугу псоми нэхърэ сэ сынэхъ Iущкъым. Апхуэдэу жаIэ хэти зэрыпсэур…Зэман зэхэзэрыхьащ, пыIэзэфIэхь махуэщ ди зэманыр, сыт тщIэн?!
Ирехъу зэрыхъуIамэ… ГъащIэ унафэм зыри пхуещIэнукъым»,- жиIэри чэнджэщэжын хуэмейуэ къилъытэжри и Iэхэр лъэпкъ Iуэхум хитхьэщIыкIри тIысыжащ…

КIыгуугу шырхэри балигъ хъури попугай абгъуэсм илъэтыкIыжащ. КъэуIэбжьауэ къуалэбзухэр а къахэхъуа лъэпкъыщIэм еплъырт: я теплъэкIэ ахэр кIыгуугут, ауэ я бзэкIи я хьэл- щэнкIи попугайт. Пэжщ, зэзэмызи абыхэм я гу къихьэрт загъэкIыгуугуну, арщхьэкIэ попугайхэм зэрахыхьэу ятеужырт…

Апхуэдэт иужьрей зэманым къраша кIыгуугухэм я нэхъыбэр… КIуэ пэтми ахэр нэхъыбэж хъурт…

Илъэс 50 къэс къуалэбзухэм я хасэр зэхыхьэрт. Хасэ къэс къуалэбзу лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэу мэзым щIэсыр къыщапщытэ хабзэт…
Дуней псом и дэнэ щIыпIэкIи къикIа лIыкIуэхэр зи чэзу хасэм къыщызэхуэсырт. Я гуапэу зыхуаIуатэрт зэIущIэ блэкIар зэрекIуэкI лъандэрэ зы къуалэбзу лъэпкъи зэрымыкIуэдыжар, ахэр я бжыгъэкIи нэхъ мащIэ зэрымыхъуар. Ауэ псоми щхьэжагъуэ ящыхъуат кIыгуугу бзэмыIу куэд хасэр щрагъэкIуэкI мэзым къызэрыщыунэхуар…

ЗэIущIэм кърихьэлIа лIыкIуэхэм чэзу- чэзукIэрэ къуалэбзу къызыхуэсахэм я пащхьэм къиувэрти ар къызыхэкIа лъэпкъым и бзэ къабзэкIэ и тхыдэм тепсэлъыхьырт, зыхуей- зыхуэфIхэр къаIуатэрт Къилъэлъу къэпсэлъащ къуанщIэри, къанжэри, вындри, бжэндэхъури… КIыгуугухэм чэзур къалъысати абыхэм я лIыкIуэр утыкум къихьэри и псалъэмакъыр попугаибзэкIэ къригъэжьащ. КъэуIэбжьауэ къуалэбзухэр зэплъыжащ.
- КIа- кIэ, кIа- кIэ, кIа- кIэ,- кIэкIащ зыхуэмыубыдыжу къанжэр.
- Ну- у- у, ну- у- ,- гъумэтIымащ жьындур.
- Къуаргъ, къуаргъ, къуаргъ,- дэлъеящ , къелъыхащ къуаргъыжьыр.
- Фи бзэкIэ къэзыIуэтэн къыхэвгъэкI,- унафэ ищIащ попугайм. ПсынщIэу нэгъуэщI зы кIыгуугу утыкум кърашати, ар бжэндэхъум ещхьу фийрт. Фийрт яхуэмыгъэувыIэжу.
- КIыгуугубзэ зыщIэ щымыIэжу ара?- кIиящ вындыр.
- Хэт хуэныкъуэр кIыгуугубзэм,- къиIущэщырт шунэфым
- Хьэрыхьупыр – кIыгуугукъэ? Зэщхьыркъабзэщ,- жиIащ къуанщIэм
- Хэт кIыгуугу тхьэмадэр? КъыдэвгъэкI бзэ зыщIэ,- унафэ ищIащ попугайм.
НэгъуэщI зыи укIытэу кърашащ утыкум
- Щхьэ ущыт, къыджеIэ, къытхуэIуатэ кIыгуугубзэкIэ,- къэпсэлъащ попугайр.
- Сэ сыкIыгуугуу сщIэж щхьэкIэ хьэрхьупыбзэщ сIурылъыр, емыкIу сыкъэвмыщIтэм, жэуап естынт фи упщIэхэм, кIыгуугу тхыдэм сымыщIэ къахэзыгъуэтэфыр лIы нэсщ. Бзэр сымыщIэми ди тхыдэм къанэ щымыIэу сыщыгъуазэщ. Къэвгъуэтыф сымыщIэ.
- Дэ тхыдэ зэпеуэ нобэ едгъэкIуэкIыркъым. Фи бзэ зыщIэ къыфхэтым къыдэвгъэкI, долъаIуэ,- тригъэчыныхьащ попугайм.
Къыдашащ еплIани, етхуани, ехани… Ауэ зыми ищIэжыртэкъым кIыгуугубзэр.
Къуалэбзухэр зэплъыжащ, я дамэхэр драгъэуейуэ куэдри зэхэсащ.
- Идвгъатхэ Тхылъ Плъыжьым!- къэфиящ бжэндэхъур.
- Къызэтегъэнэн хуейщ а лъэпкъыр!- диIыгъащ жьындуми.
- Бзэр ямыщIэжым…
- Зыр зым ихъумэжын хуейщ,- зэрылъэлъу къаIуатэрт къуалэбзухэм я гукъеуэр.- Ар хъума зэрыхъуну Iэмалхэм фегупсыс!
Къуалэбзу хасэм хэтахэр нэщхъейуэ зэбгрыкIыжащ. КIыгуугухэр езыр- езыру къызэхэнэхэри зэхэсащ. Ахэр куэдрэ зэныкъуэкъуащ, ауэ зыкIи зэгурыIуакъым. Апхуэдэу махуэми жэщми зэхэсахэщ
- Сыт дэ мыпхуэдиз бэлыхьым дыщIыхэтыр?- къыхидзащ зым.
- Сыт дэ дыщIэгузавэр?- диIыгъащ адрейм.
- Ди лъэпкъыр псоми къахъумэнущ…
- Iэмал иIэххэу дагъэкIуэдыжынукъым…
- Дэ нэхърэ а дыкъэзыхъумэнухэм куэдкIэ нэхъ зэфIэкI яIэщ,- жаIэурэ зыр зым щыгугъыжхэри лъэпкъым сэбэп хуэхъун гуэри къамыгупсысыфу кIыгуугухэр зэресам тету я джэдыкIэхэр нэгъуэщI къуалэбзу лъэпкъхэм я абгъухэм щагъэпщкIуурэ я щхьэ закъуэрэ я лъакъуитIу ежьэжащ…
- Унафэ дахэ хасэм къыщащтащ…
- Абы дэ дыкъихъумэнщ…
- Дэ сыт унафэ щхьэхуэ къыщIэтщтэнур?- къэпсэлъ зэпытт кIыгуугухэм щызэхуэзэкIэ

Апхуэдэу зы зэманым зы зэманыр къыпыту, зы пIалъэм зы пIалъэр къыпищэурэ тэлай куэдкIэ кIыгуугухэр псэуащ. Пэжщ, кIыгуугуфэ зытет къуалэбзухэм я бжыгъэкIэ яхэщIIауэ гу лъатэртэкъым, ауэ кIуэм- кIуэурэ кIыгуугу макъыр мэзым къыщымыIужыххэ хъуащ…
Мэзыр абыхэм яхуэзэшырт. Къуалэбзу зэпэджэхэм макъ гуэр хущыщIэ зэрыхъуари щхьэжагъуэ ящыхъурт. А хэщIыныгъэри яхузэмыгъэпэщыжу гъэхэр ягъакIуэрт.

Абы лъандэрэ илъэс бжыгъэу дэкIари, лIэщIыгъуэ дапщэ дэкIами зыми ибжакъым, ауэ зы зэман- зэ къуалэбзу гужьеяхэм я хасэм и пIалъэр къэмысу зэхуашэсащ.
- Сыт Iэмал?
- Сытхэр тщIэну?
- Псори фегупсыс!
- КIыгуугубзи, хьэли- щэни зыщIэ къытхэмыс!
- Къыдош гъыбзэр къуалэбзухэм- дытемыпыIэж!
- Псоми ди бзэр къуалэбзухэм дэ дывгъэхъумэж!-
Гъыбзэр кърашу къуалэбзэхэр куэдрэ зэхэсащ. ИкIэм лъэпкъ псоми я тхьэмадэ попугайр къэтэджри щысхэр къызэпиплъыхьащ.
- КIыгуугу лъэпкъыр къызэрызэтенэну Iэмалхэр академиемхэм щадж. Ауэ мызыгъуэгукIэ зыри яхуещIэркъым. Бетэмал! Хъуакъым ар! Езыхэм захъумэж ди гугъэурэ датеплъэкъукIат. Дэ зэикI апхуэдэ Iуэху къэдгъэхъужынтэкъым, мы зэ закъуэм ахэр къытхузэтенэтэм! Мы дунейм тетым я жылакIэ къэдгъуэтын хуейщ. Австралием IэрыпIу къыщрагъэшауэ къуалэбзу лъэпкъ гуэр щыIэу жаIэри ар кIыгуугу лъэпкъыу хуагъэфащэ. Хэт ищIэрэ, кIыгуугу дыдэу ар къыщIэкIынкIи хъунщ. Ар дэ дызылъыхъуэ къуалэбзу лъэпкъым щыщу къыщIэкIрэ дэ зыIэрыдмыгъэхьэмэ- игъащIэкIэ тхуэмыпшыныжын щыуагъэщ. Абыхэм ящыщ зэхъузэбзитI къэтхьынщи хъарым ису дгъэбэгъуэжынщ,- яхуиIуэтащ абы къызэхуэсахэм унафэр.
«КIыгуугу», «кIыгуугу»- жиIэу кIийуэ къуалэбзу лъэпкъ гуэр къагъуэтати, ар кIыгуугу лъэпкъыу къалъытэри ди мэзхэм щIаутIыпщхьэжащ.

Ар зэрыбэгъуэжар феплъыну фыхуеймэ, цIыкIухэ, мэзым фыкIуэ. Нобэ кIыгуугуу щыIэр абыхэм къатепщIыкIыжауэ жаIэ.
Мы зы щIымахуэр игъэкIыж.
«Адэжжь щIыналъэм дыгъэкIуэж,-
КъызжеIэ си хьэгъусэм,-
СлъэмыкIыу сэри сегъэкIуэщI
Гугъуехьу телъым уи псэм.»
 
Си щIалэ закъуэм согупсыс,-
Сигу щыщIэм сщIынт пэIэщIэ,
Гъуэгу сытехьэну сыхьэзырщ,
АрщхьэкIэ зызоIэжьэ.

Сэ нобэ зым къызиткъым гъуэгу,
Си гугъэр екъутэжыр:      
Мы щIыпIэр сэ схуэмыхъуми Хэку,-
Ар лъапсэщ си къуэм дежкIэ…

«Мы зы щIымахуэр игъэкIыж»,-
ЖызоIэ си щхьэгъусэм.
Уи сабийгъуэ пIэщIэкIам
Хэт илъэгъуа къигъазэу.
 
Хыр си шакъалъэу
Къалэм хуэфащэ сиIатэм,
Ди текIуэныгъэм и усэр
ДыщэпскIэ уафэм истхэнт.

.

.

          

.