C оригинала by Aussaat- und Schriftenmissions-Verlag Gmbh, 

Neukirchen-Vluyn

Название Оригинала: Jesus unser Schicksal

Copyright c 2009 by «Light in the East»

«Для чего я живу» на кабардинском языке

С 2009 «Свет на Востоке»

 

 

 

 

 

 

 Дэтхэр

 

 

 

 

Сыт дэ дыщIэпсэур?

Сэ зэман сиIэкъым.

Фымыбэлэрыгъ! ГъащIэм дежкIэ шынагъуэщ!

Сыт тщIэнур?

Сыт Тхьэм зыри щIыжимыIэр?

Лъагъуныгъэ диIэнымкIэ ди хуитыныгъэр.

Тхьэм уепсалъэ хъуну? АфIэкIа фIэщ тхуэмыщIыжмэ,       гъащIэм дауэ дыкъыщызэтенэну?

КъытIэщIэщIэхэмрэ дызыхунэмысахэмрэ  дыщIагъэнауэ,  дауэ гъащIэм дызэрыпэлъэщынур? 

    ЦIыхухэм дагъэбампIэмэ, сыт тщIэнур?

    Псоми зихъуэжыпхъэщ, ауэ дауэ?

    Хэти ирехъу, сэрмыра закъуэмэ!

    ФIэщхъуныгъэм ехьылIа Iуэхугъуэхэр зэIубзэу щытынкIэ           хъуну? 

    ФIэщхъуныгъэр щхьэзакъуэ Iуэхуу пIэрэ?

    Дунейр щыкъутэжынур дапщэщ?

    Тхьэр додэ, ауэ Хьисэ сыту тщIыну?

    Ди гъащIэр Тхьэм и IэмыщIэ итлъхьэмэ, абы сыт           сэбэпу къытхуихьыр? 

 

 

 

В И Л Ь Г Е Л Ь М    Б У Ш

                                     

Эссен къалэм и щIалэгъуалэ дин пашэщ, хъыбарыфI зыгъэIущ, ущиякIуэщ, тхакIуэщ, и Iэдакъэ тхылъ куэд къыщIэкIащ.

 

 

          

 

СЫТ ДЭ ДЫЩIЭПСЭУР?

     

 

Аращи: сыт дэ дыщIэпсэур? Е: мы щIым сыт дыщIытетыр? Е: ди гъащIэм и мыхьэнэр сыт?

Эссен сыщыIэу сэ телефонкIэ зэхэсхащ сатуущIэ гуэрым и гузавэ макъ: 

-  Зиусхьэн дин пашэ, къакIуэ си деж!

 Сэ сыпIащIэу сокIуэ абы деж, езыр мы псалъэхэмкIэ къыспожьэ: 

-  Си къуэм зиукIыжащ!-

 Сэ сцIыхурт а ныбжьыщIэр. Ар студентт. Сыт хуейми, игъуэтырт абы. Ар узыншэт, дахэт, и щIэлъэгъуэт, къулейт. Куэд щIат абы езым и маршинэ псынщIэ зэриIэрэ. Ар зы Iуэху мыфэмыц гуэри хэпщIауэ щыттэкъым. ИкIи мис а щIэлъэщIэр, и натIэм треубыдэри, кIэрахъуэкIэ зоуэж! Тхыгъэ къигъэнам итт: «Сэ мы гъащIэр собгынэ, абы мыхьэнэ лъэпкъ хэслъагъуэркъым!» УкъегъэуIэбжь абы!

Зэрыфлъагъущи, ди гъащIэм и мыхьэнэр - ар упщIэшхуэщ. А упщIэм куэд щIелъытар дэ гъащIэу зы закъуэ фIэкI дызэримыIэрщ?

Иджыри еджапIэм сыщIэст, есэпымкIи си Iуэху щIагъуэ дыдэтэкъым. Сэ есэпыр зэрысщIыжыр си егъэджакIуэм къызыгуригъэIуэну хуейтэкъым. ЕсэпымкIэ унэ лэжыгъэр зэрысщIыжар къипщытэну щесткIэ, абы куэдрэ си зэфIэкIыр къимылъытэу, си тхылъыр зэрыщыту шакъэ плъыжкIэ зэхитхыхьырт. Ар хуабжьу гуемыIут плъагъуну. Апхуэдэу зэхатхыхьа тхылъыр, икIэм нэс сымытхами, хыфIэздзэжырти, тхылъыщIэ, къабзэрэ дахэу, къэсщэхурт. Ар и пэм къыщыщIэздзэж хъурт. ГъащIэри апхуэдэу къыщIэбдзэжыфу щытамэ, аратэкъэ! Фи фIэщ сыфщI: цIыху мелуанхэр я ажал къыщысам деж йогупсыс мыхуэдэу: «Ей мыгъуэ , псори щIэрыщIэу къыщIэздзэжу къэзгъэщIэжамэ, аратэкъэ! Псори нэгъуэщIу сщIынт!»

ТхылъыщIэ къэпщэхуу псори щIэрыщIэу къиптхыкIыж хъу щхьэкIэ, гъащIэр аракъым. Дыпсэунур зэщ дэ! Ар сыту узижэгъуэн, а гъащIэр дуцIэпIамэ, мытэмэму ар къэдгъэщIамэ! Дэ зы гъащIэ закъуэщ диIэр! Ар тфIэкIуэдамэ, игъащIэкIэ тIэщIэкIауэ аращ. Сэ ар гушыIэ лъэпкъ хэмылъу вжызоIэ.

Нышэдибэ си хьэщIэщымкIэ жэм Iэхъушэ блахуащ. Сэ абдеж си уазхэр згъэхьэзыру арати, моуэ сегупсысащ: «Мо жэмхэр хуабжьу насыпыфIэу къыщIэкIынщ, сыту жыпIэмэ ахэр егупсысын хуейкъым щIэпсэум и щхьэусыгъуэм. Мыбдеж псори гурыIуэгъуэщ: шэ къыщIашыну, иужькIэ яшхыжыну аращ. КъывгурыIуэрэ? Псэущхьэр гъащIэм и мыхьэнэм егупсысын хуей хъуркъым. АбыкIэ цIыхур псэущхьэм къыщхьэщокI. Ауэ гъэщIэгъуэныракъэ, цIыху кIуэдыкIей щыIэщ зэ закъуи «Сыт сэ сыщIэпсэур?» жиIэу зэмыупщIыжу я гъащIэр къагъащIэу лIэжауэ. Апхуэдэхэр псэущхьэхэм къащхьэщыкIыркъым. Зэрыфлъагъущи, дэри куэдкIэ дефIэкIыркъым абыхэм. ЦIыхур цIыху зыщIыжыр сыт? Мы упщIэмкIэ зэрызэупщIыжыфырщ: «Сыт дэ дыщIыщыIэр, дыщIэпсэур сыт?»

 

 

1. IэхъуэтегъэкI икIи зэмыгупсысэ жэуапхэр 

 

Аращи, си ныбжьэгъухэ, «Сыт дэ дыщIэпсэур?» упщIэм IэхъуэтегъэкIыу икIи зэмыгупсысауэ жэуап куэд иIэщ. Илъэс куэд я пэкIэ сэ, мис, а IэхъуэтегъэкI икIи зэмыгупсыса жэуапу щыIэу хъуар зэуэ къысIэрыхьащ. Ар къыщыхъуар 1936 гъэращ, Гитлер и диктатурэм щыгъуэщ. Мюнстер къалэм щыщ студентхэр къызэлъэIуат «ГъащIэм и мыхьэнэр сыт?» темэмкIэ сахэпсэлъыхьыну. Абыхэм занщIэу жаIащ си лекцэ едаIуэ нэхърэ а темэмкIэ дызэдауэмэ, нэхъ къызэращтэр. 

-              Хъунщ, содэ, - жысIащ сэ. - Апхуэдэу щыхъукIэ, къыхэвдзэ!

 А дискуссиер щекIуэкIыр Гитлер и зэманыгъуэр щыаракIэ, гурыIуэгъуэщ абыхэм ящыщ зы занщIэу къыщылъэтэу мыпхуэдэу къыщIыджиIар: 

«Сэ си лъэпкъырщ сыщIэпсэур. Абырэ сэрэ дызэрызэхущытыр тхьэмпэрэ жыгымрэ хуэдэущ. Тхьэмпэр зырикIкъым, псори жыгыращ. Сэ си лъэпкъырщ сыщIэпсэур! 

Абы мыпхуэдэу жэуап естащ: 

-              Хъарзынэщ! Ауэ жыгыр сыт щIыщыIэр, лъэпкъыр щIэпсэур сыт? 

Щымщ! ИщIэртэкъым жиIэнур. КъывгурыIуэрэ, упщIэ нэсыр жэуапыншэу къэнат. ИтIанэ сэ яжесIащ: 

-              ЦIыхухэ, фIыуэ слъагъухэ! УпщIэм къыпэзыкIухь, а упщIэр изыгъэкIуэтыж жэуап фтын хуейкъым!

-              Аращи, сыт гъащIэм мыхьэнэуэ иIэр? Сыт сэ сыщIэпсэур? - сыщIэупщIащ сэ аргуэру. ИтIанэ нэгъуэщI зым къыдгуригъэIуащ: 

-              Сэ мы дунейм сыщIытетыр си къэлэныр згъэзэшIэну аращ!

-              Ныбжьэгъу, - жысIащ сэ, - аракъэ зи гугъу тщIыр: а си къалэныр сыт хуэдэ? Сэ си къалэну собжыж фэ Тхьэм и Псалъэр нывбгъэдэслъхьэну. Матильдэ Лудендорф и къэлэну ебж Тхьэр щымыIэу игъэIуну. Дара-тIэ къалэныр?

КъулыкъущIэшхуэ гуэрым къызжиIауэ щытащ: 

-              Зиусхьэн дин пашэ, щэхуу бжызоIэ: сэ махуэ къэс тестхыкIыж документ къомыр мафIэм зэтрисхьэкIи, гъащIэр абы щхьэкIэ къэувыIэнукъым. Сэ сигу къоуэ апхуэдиз фIэкIа мыхьэнэ зимыIэ лэжьыгъэ сызэрыбгъэдэтыр. 

Сыт къалэныр зищIысыр? Эсэсовец минхэм цIыху минищэхэм я псэр ягъэнащ. Архэр хеящIэм и пащхьэм къыщрашэкIэ, мыр жаIэ:

-              Дэ ди къалэныр дгъэзэщIауэ аращ, апхуэдэ унафэ къытхуащIати. 

Фэ фи фIэщ хъурэ адрей цIыхухэр иукIыныр зы цIыху гуэрым и къалэну щытынкIэ хъуну? Сэ ар си фIэщ схуэщIынукъым. Арати, сэ студентхэм яжесIащ: 

-              Аракъэ езыр Iуэхур здэщыIэр: сыт сэ си къалэныр? Хэт къызжиIэфыну ар? Флъагъурэ дэ аргуэру ди пIэм дызэринар. 

Абы иужькIэ зиусхьэн ныбжьыщIэхэм я жэуапхэм нэхъ егупсысу щIадзащ. Абыхэм ящыщ зы къэтэджри пагагъ хэлъу къыдгуригъэIуащ: 

-              Сэ зи лъабжьэр жыжьэ къыщежьэ уэркъ лъэпкъым сыщыщщ. Сэ сяпэ ита лIэужь 16-м я цIэ къисIуэфынущ. Лъэпкъ уардэщ. А лъэпкъым хуэфащэу адэкIэ пыпщэныр - ар гъащIэм и мыхьэнэ, гъащIэм и мурад хъуркъэ? 

Сэ мыращ абы жэуапу схуетар: 

-              Ныбжьэгъу! А лIэужь 16-р щIэпсэуар умыщIэмэ, абы е 17-нэр щIыпыпщэнур сыт? 

Флъагъурэ IэхъуэтегъэкIыу, зэмыгупсысауэ жэуапу щыIэм я куэдагъыр? Ди газетхэм куэдрэ уащрохьэлIэ зыгуэр зэрылIамкIэ хъыбарегъащIэхэм, я щхьэмкIэ мыпхуэдэ усэ фейцей цIыкIу тету: «Лэжьыгъэ защIэу щытащ уи гъащIэр,/ уи щхьэ Iуэхур пщыгъупщэжыпауэ,/ уи гъунэгъухэм псори ептыныр/ арщ уи къалэн нэхъыщхьэу щытар». КъэфцIыхужрэ? Мыпхуэдэ гуэр сыкъеджэмэ, дапщэщи сокIэзыз. Сэ согупсыс: 

-              Мыр шыр зэрылIамкIэ хъыбарегъащIэу аращ. 

Пэжкъэ? И гъащIэ псом лажьэу щыIэр шырщ. Сэ си фIэщ хъуркъым цIыхур щIэпсэур щхьэкъэмыIэту лэжьэн щхьэкIэу. Хъуэпсэгъуэкъым апхуэдэ псэукIэр. Абы щыгъуэ, а зым фIэкIа ди гъащIэм нэгъуэщI имыIэмэ, псом нэхърэ нэхъыфIыр илъэси 10 ущрикъум ирихьэлIэу зыбукIыжынырщ. «Лэжьыгъэ защIэу щытащ уи гъащIэр...» Ар узижэгъуэнщ! Хьэуэ, аракъым ди гъащIэм мыхьэнэуэ хэлъыр.

НэгъуэщI зы студентым къызжиIащ абы щыгъуэ: 

-              ПщIэрэ, сэ дохутыр сыхъуну сыхуейщ. ЦIыхухэм я гъащIэр яхуэпхъумэныр - ар фIыщэкъэ?»  Сэ абы пэздзыжащ: 

-              Ерэхъу! Ауэ цIыхур щIэпсэур сытми умыщIэмэ, цIыхум и гъащIэр къегъэлын мыхьэнэ иIэххэкъым. 

ЖысIар пэжу зыгурывгъаIуэ икIи цIыхухэм я гъащIэр къегъэлын хуэмейуэ жысIауэ сахэвмыгъаIуэ. Сэ жысIэну сызыхуейр а жаIар гъащIэм и мыхьэнэр къыдгурызыгъаIуэ жэуап зэрымыхъурщ.

         Абы щыгъуэ сэ сыкъэзыгъэуIэбжьар щIэныгъэ зиIэ цIыхухэми сэ сызэдэуар студент защIэтэкъэ - мы ди зэманым дунейм щIытетыр къагурымыIуэжу зэрыпсэухэращ.

         Фэ си псэлъэкIэр уэим фщIынкIэ хъунщ. Сэ, дауи, схузэфIэкIынущ нэхъ гъэщIэрэщIауэ, хамэ псалъэхэр хэзу къыхэзгъахуэу, сыпсэлъэныр, ауэ апхуэдэу сщIамэ, фэ псори зы сыхьэт ныкъуэ хуэдэкIэ жейм фыхилъэфэнт. Ар къэхъункIэ сошынэри аращ уэрамым дыщызэхуэза нэужь, дызэрыздэуэршэрым хуэдэу сыныщIывэпсэлъэр. ГурыIуэгъуэ ар фи дежкIэ?

ФIыщIэ фхузощI!

         Флъагъуркъэ, а псори зэгуэр щыбгъэунэхукIэ, фэсIуэкIын къудей фIэкIа хуейкъым, Мюнстер студентхэм къызатауэ щыта жэуапым хуэдэ къысIэрыхьэн папщIэ: 

-              ГъащIэм мыхьэнэ куу гуэри иIэххэкъым. Сэ сыкъызэралъхуар зэрымыщIэкIэ къэхъуа Iуэхущ. Абы зы купщIи хэлъкъым. Абы къыхэкIыуи псом нэхърэ нэхъыфIыр - гъащIэм къыпыпхыф псори къыпыпхынырщ. 

Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, мыпхуэдэ гупсысэрагъэнущ цIыхур нэхъ къытезыгъэлъадэу щыIэр: 

-              Сэ си гъащIэм мыхьэнэ иIэкъым. Абы мурад гуэри хэлъкъым. Си адэмрэ си анэмрэ зэрымышауэ щытатэмэ, сэ ныбэм срищIэнутэкъым икIи сыкъалъхунутэкъым. Сэ зэрымыщIэкIэщ мы дунейм сызэрыщыпсэур, си гъащIэм мыхьэнэ лъэпкъи иIэкъым. 

Зи гъащIэ хьэлъэхэр апхуэдэу щегупсыскIэ, заукIыжыным пэгъунэгъу мэхъу: 

-              Сыт апхуэдэ гъащIэ къэбгъащIэкIи? Псори зэрымыщIэкIэ къэхъуамэ, мыхьэнэи ямыIэмэ, псоми кIэ ептмэ, мынэхъыфIу пIэрэ?

ФщIэуэ пIэрэ фэ, Германием гъуэгухэм цIыхуу щыхэкIуадэхэм нэхърэ зызукIыжхэр зэрыщынэхъыбэр? ФщIэуэ пIэрэ а зызыукIыжхэм я зэхуэдитIым я ныбжьыр илъэс 30-м зэрынэмысыр? Ар ди лъэхъэнэм нэхъ укъэзыгъэуIэбжьу хэлъ нэщэнэхэм ящыщщ: дэ афIэкIа гъащIэм мыхьэнэ хэтлъэгъуэжыркъым.

Сэ куэдрэ сепсэлъэну къысхуихуащ мыр жызыIэ цIыхухэм:

-              ГъащIэр апхуэдизкIэ купщIэншэщи, сэ ар нэгузыужьрэ зэштегъэукIэ згъэкIуэнущ е зызукIыжынущ. 

Апхуэдэхэм деж сэ сыщIэупщIэрт: 

-              Фэ гъащIэм купщIэ хэмылъ къыффIэщIурэ вгъакIуэрэ абы  купщIэ хэлъауэ иужькIэ къыщIидзыжмэ-щэ? А гъащIэм и кIэм сыт хуэдэ щытыкIэ фызэрыхуэнур итIанэ?

         Библием узыпхилыгъукIыу зы усэ гуэр итщ. Абы мыпхуэдэу жеIэ: «ЦIыхум зэгуэр лIэн хуейуэ къыпэщылъщ, абы иужькIэ Тхьэм хьэкум трищIыхьынущ». Зэрыфлъагъущи, Библием хэт а псалъэр пщIэн хуейщ, «СыщIэпсэур сыт?» жыпIэу уи фIэщу ущIэупщIэн папщIэ. Ди гъащIэм и купщIэр зэхэдмыгъэкIыфауэ, дауэ Тхьэм и хеящIэм дызэрекIуэлIэнур?! А упщIэр фи дежкIэ гурыIуэгъуэу пIэрэ иджы? Абы щыгъуэ сэ адэкIэ къыпызощэ:

 

2. Хэт жэуап къыдитыфыну?

                   

         Хэт-тIэ къыдэзытыфынур «ДыщIэпсэур сыт?» упщIэм и жэуапыр? Хэт?           Члисэра? Хьэуэ! Дин пашэра? Хьэуэ! Ари фэ фызэрыт щытыкIэращ зэрытыр. Профессорхэр ара? Философхэра? Абыхэми къратыфынукъым жэуап «ДыщIэпсэур сыт?» упщIэм. Дэ дыщIэпсэур къыджезыIэфыну щыIэр зы закъуэщ: гъащIэ къыдэзытарщ, дыкъэзыгъэщIарщ - Тхьэращ!

         Мыпхуэдэ зы щапхъэ къызэрыгуэкI къыфхуэсхьыну хуит сыкъэфщI. Зы фэтэр сыщIохьэ зэгуэр. Абы зы щIалэщIэ фафIэ щIэсщ кIапсэхэмрэ уэздыгъэ цIыкIухэмрэ зыгуэр къахещIыкIри. Сэ абы соупщI: 

-              Сыт хуэдэ шейтIан машинэ зэпкърыплъхьэр? Мыр сыт хъуну?

 Абы ар къызгуригъэIуэну хэтащ, ауэ сэ, зызумысыжынщи, зыри къызгурыIуакъым икIи сегупсысащ: 

-              Мыр зыми хузэхэщIыкIынукъым, езы зыщIым и закъуэщ къыбжезыIэфынур ар зэрыхъунури къызэрагъэсэбэпынури.      Ди гъащIэри апхуэдабзэщ: дэ дыкъэзыгъэщIам и закъуэщ Абы дыкъыщIигъэщIар къыбжезыIэфыну щыIэр! Абы къикIыращ: «ДыщIэпсэур сыт?» упщIэм и жэуапыр къыджезыIэфын закъуэр Тхьэращ. Сэ Библием иджыри къэс семыджауэ щытамэ, а упщIэм сэ Библием сришэлIэн хуейт. Мы дуней кIуэцIрыхуным сыщIытетыр къэзмыщIамэ, адэкIэ схуэмыхьынкIэ хъунт. «Дуней кIуэцIрыхун» псалъэхэр гуащIэIуэу жысIауэ къыфщыхъурэ? Ахэр сысейкъым, Библием къисха псалъэщ. Къалэшхуэм и дин пашэм зы илъэс ныкъуэ нэхъ мыхъуми фыкъыдекIуэкIамэ, фэ фщIэнт зи гугъу сщIыр:

мы дунейм гыбзэ Iей телъщ. Мыбы сыщыпсэуфынтэкъым, Тхьэр къызэIусхкIэрэ жэуап къысIэрымыхьатэмэ.

         Библием Тхьэм къыщыдет гъащIэм хэлъ купщIэм теухуа упщIэм и жэуапыр. Сэ соцIыху загъэкъыу мыпхуэдэу жызыIэ гуэрхэр: 

-              Сыт жумыIэми, Библием абы щхьэкIэ дыкъеджэнукъым!

Абыхэм мыр яжесIэнущ: 

-              Сэ щыхьэту сыувыфынущ фэ фи фIэщу зэи «СыщIэпсэур сыт?» жыхуиIэ упщIэм фызэремыгупсысамкIэ». Мыгупсысэныр - ар хуабжьу зызубгъуа узыфэщ, а узыфэм узкIэ зыкъыуигъащIэу щытамэ, дунейр зэрыщыту гыз макъым зэщIищтэнти! Сэ сыхуейщ жэуапыр Библием къисхыу зы псалъэкIэ фэстыну: «Тхьэм дэ дыкъыщIигъэщIар Абы и бын дыхъун щхьэкIэщ!»

         И къуэр езым ещхь хъуну адэр зэрыхуейм хуэдэу, Тхьэми цIыхур «Езым и теплъэм ещхьу» къигъэщIащ. Тхьэр хуейщ дэ Абы и бын дыхъуну, дэ Абы депсэлъэну, Езыри къыдэпсэлъэну, дэ фIыуэ тлъагъуну, Езыми фIыуэ дыкъилъагъуну. Тхьэм фелъэIуу пIэрэ фэ? Сытым хуэдэу гущIыхьэ адэм дежкIэ, и быныр илъэс бжыгъэкIэрэ къемыпсалъэмэ! ЦIыхури Тхьэм емылъэIумэ аращ - ари уэгум ит Адэм емыпсалъэу аращ. Флъагъуркъэ, Тхьэр хуейщ дэ Абы и быну дыщытыну, депсэлъэну, фIыуэ дыкъилъагъуну, дэри Езыр фIыуэ тлъагъуну. Мис аращ дэ мы дунейм дыщIытетыр! КхъыIэ, пэжу зыгурывгъаIуэ: сэ зи гугъу сщIыр члисэракъым, догмэракъым, диныракъым е абыхэм хуэдэ гуэркъым, атIэ Тхьэ псэурщ. Абы фэ фыкъыщIигъэщIар и бын фыхъун папщIэщ! Фыхъурэ-тIэ фэ апхуэдэу? 

         Иджы адэкIэ. Дэ Тхьэм и быну дыщытын хуейт, ауэ апхуэдэу дыщыткъым. Библием и пэ дыдэм итщ: »Тхьэм цIыхур езым ещхьу къигъэщIащ». АдэкIэ Библием и гугъу къытхуещI хьэлэбэлыкъ ин гуэрым. ЦIыхур нэсу щхьэхуиту къигъэщIати - абы зыкъызэкъуехри мурад ещI Тхьэм пэщIэувэну. «Сэ зыми и IэмыщIэ силъыну сыхуейкъым! Сэ Тхьэншэуи сыпсэуфынущ!» жиIэу къызэрыкI пхъэщхьэмыщхьэр ешх. КъывгурыIуэмэ, Iэдэм зэи шэч къытрихьэу щытакъым Тхьэр зэрыщыIэм, ауэ ар Абы и Iэмырым къикIащ: «Сэ езыр сызэрыхуейм хуэдэу сопсэуж!» - жиIэри.           Абы ехьэлIауэ сэ хъыбар гуэр фхуэсIуэтэжын хуейщ. Иджыблагъэ лIы гуэр уэрамым къыщызэупщIащ: 

-              Дин пашэ Буш, уэ дапщэщи Тхьэм утопсэлъыхь. Ауэ сэ Ар слъагъуркъым. КъызжеIэт, дауэ къэзгъуэта хъуну Тхьэр? 

-              Гупсэхуу къызэдаIуэ! – жэуап естащ сэ. - КъызыфIэгъэщIыт зэманым и машинэ щыIэу, абыкIэ сэ илъэс минкIэ сикIуэтыжыфу, илъэс минкIи и пэкIэ сыкIуэфу. ИкIи а машинэр къызогъэсэбэпри сэ цIыхугъэр къыщыунэхуа лъэхъэнэм сокIуэж. Зэгуэр, пщыхьэщхьэу, сэ жэнэт хадэм къыщызокIухьри ситщ. Уэ пщIэркъэ цIыхур гуэныхьым зэрыхэхуауэ щытам и хъыбарыр? АтIэ, аращи, чыцэ гуэрхэм хэту Iэдэм, япэ цIыхум, сыIуощIэ. «Уи пщыхьэщхьэ фIыуэ, Iэдэм,» - жызоIэ сэ абы. «Уи пщыхьэщхьи фIыуэ,  дин пашэ Буш,» - къызетыж жэуап абы. «Сэ укъызэрысхуэзар бгъэщIагъуэрэ?» - соупщI сэ икIи Iуэхур зытетыр къыгурызогъаIуэ: Дунейпсо театрым и декорацэхэр щызэрахъуэкIым, сэ щыуагъэкIэ мыбы, Жэнэт хадэм, сыкъихута хъуащ. 

-              АтIэ апхуэдэу щхьэ ухэгупсысыхьа? - щIоупщIэ ар. 

Абы жэуап изот: 

-              ПщIэрэ, сэ зы цIыху гуэр, Тхьэр дауэ къэзгъуэта хъуну? - жиIэри къызэупщIащи, абы естыну жэуапым согупсыс. 

Ину дыхьэшхыурэ Iэдэм къызгуригъэIуащ: 

-              Проблемэр здэщыIэр Тхьэр къэгъуэта зэрыхъунуракъым. Ар мыбдеж щыIэщ! Пэжу щыт, дин пашэ Буш, фэ фи упщIэр зыхуэунэтIар а Тхьэм фыкъыIэпыкIа зэрыхъунырщ. Гугъуехьыр здэщыIэр пщIэну ухуеймэ, ар Тхьэм дыкъызэрымыIэпыкIыфынурщ!

         Захуэкъэ Iэдэм? Тхьэр дэни щыIэщ. Ар къэбгъуэтыфынущ. Ауэ Абы укъэIэщIэкIыфынукъым! Иужьрей илъэс 300-м я дин тхыдэм уриплъэжмэ, нэрылъагъу мэхъу: Тхьэм къыIэщIэкIыным сыт хуэдиз къару трагъэкIуэдами, дэ Тхьэм дыкъыIэщIэкIакъым. Си ныбжьэгъухэ, фэ псоми Тхьэр зэрыщыIэр фи фIэщ мэхъу, ауэ фэ Абы и IэмыщIэ филъкъым. ЦIыхум я нэхъыбапIэм зэращIэм хуэдэу, фэри Тхьэм теухуа упщIэр нэхъ иужькIэ ивогъэтIылъэкI. Ар ямыдэуи защIыркъым, ауэ икIи Абы ахэр IэщIэлъкъым. Тхьэр икIи фи бийкъым, ауэ икIи фи ныбжьэгъукъым. Апхуэдэ щIыкIэкIэ ди гъащIэм и проблемэ нэхъыщхьэ дыдэр зэфIэмыкIауэ къонэ.

         Швейцарием щыщ дохутыр гуэрым и тхылъым щетх и гъащIэм мыхьэнэшхуэ щызиIэ Iуэху гуэрхэр мызащIэмэ, абы псэкIэ бэлыхь игъэву. 

-              Дэ, мы КъухьэпIэмкIэ щыпсэухэр, ТхьэмкIэ дысымаджэщ, - пещэ абы. - Дэ Ар дымыдэуи щыткъым, ауэ икIи Абы дрейкъым, ипэжыпIэкIэ, дэ дыхуейкъым Ар диIэну. Мис аращ Тхьэр дэ ди узыфэу щIыщытыр.

                          Аращ, сэри сыарэзыщ абыкIэ! 

         «Иджырей цIыхум Тхьэр къыфIэIуэхукъым» - ар дэнэкIи щыжаIэу щызэхэсхкIэ, сэ абы жэуапу естыфынуращи, иджырей цIыхум и Iуэхухэр щIагъуэкъым. Ауэ сэри сыиджырей цIыхукъэ, ауэ а упщIэр къысфIэIуэхущ. Абы щхьэкIи пасэрейм хуэдэу сыгупсысэу зыкъэслъытэжыркъым. Иджырей цIыхур къела зэрыхъунум емыгупсысмэ, ар абы и тхьэмыщкIагъэшхуэу аращ! Зы щапхъэ къызэрыгуэкI къэсхьыну сыхуейщ. Фи нэгу къыщIэвгъэхьэт пщафIэм и гъэсэныр. Зэгуэр абы щхьэкIэ зыгъасэм жеIэ: 

-              ПщэфIэн Iуэхур зыкIи фIэгъэщIэгъуэнкъым. 

-              Сыт-тIэ ар нэхъ дэзыхьэхыр? - сэщIоупщIэ сэ.

-              Пластинкэхэмрэ хъыджэбзхэмрэщ, - жеIэ пщафIэ тетым.           - СлIожь-тIэ, - жызоIэ сэ, - апхуэдэу щыщыткIэ, дяпэкIэ пластинкэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ яхутепсэлъыхь абы. 

-              Хьэуэ, хьэуэ, - идакъым пщафIэтетым, а щIалэр пщэфIэн Iуэхум димыхьэхмэ, абы IэщIагъэ хуэхъунур къыщыхихым щыуауэ аращ!     КъывгурыIуэрэ, Тхьэм дэ дызыхуриджар Езым и бын дыхъуну аращ. Иджырей цIыхум ар къыфIэмыIуэхумэ, абы къикIыр ар Тхьэм зыхуриджам теплъэкъукIауэ аращ. Ауэ щыхъукIэ, абы Iуэхугъуэ гуэрхэмкIэ уепсалъэкIэ, къикIын щыIэкъым, ауэ сэ итIани семышыжу къытезгъазэурэ мыр дапщэщи жысIэнущ: «Уэ цIыху ущыхъунур Тхьэ псэум и бын ухъуа нэужькIэщ!»



3. УпщIэу щыIэм я нэхъапIэм Тхьэм кърит жэуапыр 

 

         Къытезгъэзэжынщи, дэ Iуэхум ипэжыпIэкIэ Тхьэм и быну дыщыткъым, ауэ мы дунейм дыщIытетыр Тхьэм и бын дыхъун щхьэкIэщ. Абы къыхэкIыуи, ди гъащIэм зыгуэр къыщыхъун хуейщ. Си лекцием и мурадыр - ар къэхъуным сэбэп хэхъухьыныращ. Сэ мыбдеж сыщIыщытыр фи зэш тезгъэун щхьэкIэкъым, сэ сыхуейщ, нэгъуэщI мыхъуми, цIыху зыбжанэм я гур къызэIуахыу я гъащIэм мыхьэнэ гуэр иIэ хъуну. Бетэмал, ар къызэхъулIамэ, аратэкъэ!

         Аращи, дэ Тхьэм дрибынкъым, дэ Тхьэр фIыуэ тлъагъуркъым, дэ Абы и унафэхэм дытокI, дэ Ар къытфIэIуэхукъым, дэ Тхьэм делъэIуркъым, зыгуэркIэ абы ехъулIа дыхъуауэ IэмалыншагъэкIэ зэзэмызэ апхуэдэ Iуэху и ужь дихьэу аращ. Абы къыхэкIкIэ, щыIэм я нэхъапэр «дауэ Тхьэ псэум и бын сыхъуну?» упщIэращ. Иджыпсту псом нэхърэ нэхъыфIыр тхылъымпIэрэ къалэмрэ фхуэзгуэшу мыпхуэдэу унафэ фхуэсщIыныр арт: «Тхьэм и бын фызэрыхъуну щIыкIэм фэ дауэ фегупсысми, фтхыт». Языныкъуэхэм жаIэнт цIыху хьэлэл хъун хуейуэ. Адрейхэм жаIэнт Зиусхьэн Тхьэр уи фIэщ щIын хуейуэ. Ауэ а псори ирикъуркъым, мащIэщ! УпщIэу щыIэм я нэхъапэр иджыри мыпхуэдэу къонэ: »Дауэ сэ Тхьэ псэум и бын сызэрыхъунур?»           А упщIэ псоми я нэхъапэм и жэуапыр сэ къызэрысIэрыхьэнур Тхьэм ар къызгуригъэIуэмэ, арщ. Тхьэм сэ быну сыкъызэрищтэну щIыкIэр Езыр арщ къызжезыIэн хуейр. Ар езы дин пашэми къыхуэгупсысынукъым. Ауэ Библием гурыIуэгъуэ дыдэу къыдет абы и жэуапыр. Абы жеIэ: «Хьисэ и закъуэкIэщ!» Си ныбжьэгъухэ, Iуэхур Хьисэ деж щынэскIэ, си гур нэхъ ину къеуэн щIедзэ, ар гъащIэм и темэ нэхъыщхьэщи. Тхьэм и бын сызэрыхъуфынур Хьисэ и гъуэгу закъуэкIэщ! 

         Библием итщ зы псалъэ, зэрыщыт дыдэм хуэдэу зэбдзэкIмэ, мыр къикIыу: »Хьисэ Тхьэм и дунейм къикIри, мы дунейм къэкIуащ». Нобэ зэпымыууэ тепсэлъыхьу зэхыбох Библием дунейр къызэрыритхэкI щIыкIэр: и щхьэмкIэ уафэу, и лъабжьэмкIэ щIылъэу - жьы хъуауэ, ар Iуэху еплъыкIэжьу.

Ар пэжькъым, Библием апхуэдэ дуней къетхэкIыкIэ ущрихьэлIэркъым. Уеблэмэ абы Тхьэм щхьэкIэ мыр жеIэ. «Лъэныкъуэ псомкIи Уэ

сыкъыбохъуреихь». Ар нэгъущI зыгуэрщ. Фэ къывгурыIуэрэ: сэ щIы щIагъым зыщызгъэпщкIуну и ужь сихьэми, абыкIи Ар  щы-Тхьэщ. Иджырей жыIэкIэу жыпIэмэ, Библием дунейм и сурэтыр къэпщыгъуэ зыкъому щызэтопщIыкI. Дэ къэпщыгъуищ хъу дунейщ дызытетыр: кIыхьагъ, бгъуагъ, лъагагъ. Ауэ къэпщыгъуэу нэхъыбэ щыIэщ. Тхьэри зыдэщыIэр нэгъуэщI къэпщыгъуэщ. Ар гъунэгъу дыдэщ, Iэр пшиямэ, улъэIэсыну. Ар дэ къыдбгъурыту нокIуэ. А тхьэншэ гъуэгухэм фыщытетым, Абы фыкъилъагъурт. Ауэ дэ нэгъуэщI къэпщыгъуэм дызымыгъакIуэ блыныр тхупхыудынукъым. Ар зыхузэфIэкIынур Тхьэм и закъуэщ. Абы а блыныр пхиудри, Хьисэм ди деж къэкIуащ!   

         АдэкIэ, ХъыбарыфIым Хьисэ теухуауэ мыпхуэдэу итщ: «Езым и цIыхухэм я деж къэкIуащ, абыхэм Ар къащтакъым». Ауэ дунейр Абы ейкъэ! ХъыбарыфIым и тхыдэр нобэр къыздэсым апхуэдэщ. Хьисэ къокIуэ, мыдрей цIыхум и бжэр егъэбыдэ. «Ар езым и цIыхухэм я деж къэкIуащ, езым и цIыхухэм Ар къащтакъым». Абдеж щыдух хъуну къыщIэкIынт мы псалъэмакъыр, Тхьэмрэ цIыхумрэ я зэхущытыкIэ псори зэ ухыпхъэщ. Ауэ, ар дауэ гъэщIэгъуэнми, адэкIи къыпищэнущ, а къыпищэнури и щхьэр течауэ мыращ: «Езыр зыщтахэм Тхьэм и бын хъуну лъэкIыныгъэ къаритащ». Аращи,

Тхьэм и бын ухъун щхьэкIэ, Хьисэ къэпщтэн хуейщ! Фэ фи гъащIэм и бжэр Хьисэ хуIуфхакIэ? «Езыр зыщтахэм Тхьэм и быну щытыну лъэкIыныгъэ къаритащ».

         Мы зи гугъу  сщIынур къыщысщыщIам, къабыл сщIауэ Хьисэ зыщестам, Ар къыщысщтам, сэ офицер щIалэщIэу Япэ дунейпсо зауэм сыхэтт, Тхьэм куэду сыпэIэщIэт. Апхуэдэу зэрыхъуам си гъащIэ псор къызэригъэдзэкIащ. Сэ зэи сыхущIегъуэжакъым абы. Мэссихь и хьэтыркIэ сэ гъуэгуанэ гугъу куэд сытетащ. Мэссихь щхьэкIэ сэ тутнакъ сащIауэ щытащ. Мэссихь щхьэкIэ сэ куэдым зыхуэзгъэныкъуащ. Ауэ сэ дяпэкIи гъащIищэ сиIауэ щытами, сэ си акъыл зыгуэр къызэрихьэу мы псалъэм сытетынут: «Ар къэзыщтахэм Тхьэм и быну щытыну лъэкIыныгъэ къаритащ». Сэ си гъащIэм мыхьэнэ нэс щигъуэтар Тхьэм и бын сыхъуа нэужькIэщ! Сэ сыхэтми, абы мыхьэнэ иIэкъым: сыдин пашэми, е сыпщIантIэпхъэнкIми, сыгенеральнэ директорми е сыгъукIэми, сыунэгуащэми е сыегъэджакIуэми - си гъащIэм мыхьэнэ щигъуэтыр сэ Тхьэм сыщрибыным дежщ. Аращи, фэ Хьисэ къэфщтэн хуейщ! Фи гъащIэм купщIэ иIэнущ итIанэ ! Абы щыгъуэ закъуэщ щиIэнур! Абы теухуауэ гъэщIэгъуэнщ ХъыбарыфIым хэт цIыхухэм уахэплъэну. Псалъэм папщIэ, абы ущрохьэлIэ зи гъащIэкIэ хуабжьу щхьэрыуа цIыхубз, Магдалэ къуажэм щыщ МерэмкIэ еджэу. Абы зэрытепсэлъыхьыр и щхьэ темычауэ щIагъыбзэкIэщ: «Ар жин фIыцIиблым яIыгът», - жеIэ. Ауэ сэ цIыху Iэджэ соцIыху жин пщыкIутIым яIыгъыу. А Мерэм и гъащIэр  хьэлэчу къыщIэкIынут. АпхуэдизкIэ хьэлэчти, хьэзабыр телът. Ауэ, мис, абы и гъащIэм къыхохьэ Хьисэ, КъегъэлакIуэр - Тхьэм и Къуэр - икIи жин бзаджэнаджэхэр бгъэдеху. ХузэфIокI Абы ар! Ар Абы елэжь! Абы щыщIэдзауэ а цIыхубзыр Зиусхьэн Хьисэ IэщIэлъщ. Абы и гъащIэм мыхьэнэ игъуэтащ. Абы и нэкIэ итIанэ елъагъу Хьисэ жорым зэрыраIулIыр икIи Ар зэрылIэр. Ар шынагъуэм зэщIеIулIэ: «Аргуэрыжьу гъащIэ купщIэншэм щIэздзэжынущ», - жеIэри. Хьисэ жорым зэрыраIулIрэ махуищ хъуауэ пщэдджыжьым ар хадэм, Хьисэ и кхъэлэгъунэм деж, лъэгуажьэмыщхьэ зыщищIауэ магъри итщ. Ар

Хьисэ и кхъэлэгъунэм щыбгъэдыхьам щыгъуэ, бэныр нэщIт, абы Iулъа мывэр IугъэкIуриикIат. Абы ипкъ къудейр щIэлъыжтэкъым бгъуэнщIагъым. Арат ар щIэгъыр. Сэ фIы дыдэу къызгуроIуэ а цIыхубзыр. Сэри Хьисэ нобэ сфIэкIуэдатэмэ, гъащIэ купщIэншэм и щыхупIэ щIэншэм сехуэхауэ арат. Сэ ар къызгуроIуэ: «КъегъэлакIуэр щыIэкъым. Иджы аргуэрыжьу си гъащIэр купщIэншэ хъуащ». Ауэ абы зэуэ и щIыбагъымкIэ къыщыIуу зэхех: «Мерэм!» КъызоплъэкIри къелъагъу Ар, Хьисэ лIахэм къахэтэджыкIыжар. Сэ си нэгу щIэтщ абы а дакъикъэм и теплъар: насыпым, гуфIэгъуэм, къызыIэщIэкIа гузэвэгъуэм къыщIахуа нэпсхэр уэру и нэкIум йожэх: «Раввуни, си Зиусхьэн!».

А цIыхубзым и щапхъэмкIэ си дежкIэ гурыIуэгъуэ мэхъу гъащIэм и мыхьэнэм ехьэлIа упщIэм и жэуапыр къэбгъуэтын папщIэ, философие куэд ухэтын зэрыхуэмейр. Нэхъ цIыху къызэрыгуэкIми и дежкIэ гурыIуэгъуэщ мыр: «Си гъащIэм мыхьэнэ иIэкъым! Сыт сэ сыщIэпсэуххэр?» Магдалэ къуажэм щыщ Мерэм Хьисэ къыщищта дакъикъэм абы и гъащIэм и мыхьэнэм теухуа упщIэр лей хъуащ, ар Тхьэ пэжым и бын хъури и гъащIэм абдеж мыхьэнэ куу щигъуэтащ.

Абы къыхэкIкIэ, сэ фэ зыныфхуэзгъэзэну сыхуейт: Хьисэ къафщтэ! 

Ар фэ къывожьэ! Фи унэ фыщыкIуэжкIэ, Абы фепсалъэ хъунущ. Ар фэ фи благъэ дыдэщ. Сыту фIыт, цIыху куэдым Хьисэ мыпхуэдэу зыхуагъэзамэ: «Зиусхьэн Хьисэ! Сэ си гъащIэм мыхьэнэ иIэкъым. Магдалэ къуажэм щыщ

Мерэм хуэдэу си дежи къакIуэ!»

         ЗэрыгурыIуэгъуэщи, Хьисэ къатщтэмэ, ди гъащIэм революцэ ин къыщыхъунущ: Абы сэ Iэмал къызет Езым и лIэныгъэм сыхэтыну, апхуэдэ щIыкIэкIи сэ си гуэныхь щэныжыр малIэ. Сэ хуитыныгъэ сиIэщ Абы щIыгъуу лIахэм сакъыхэтэджыкIыжу гъащIэщIэ сыхыхьэну, Тхьэм и быну сыщыткIэрэ. Абы сэ Езым и Псэ ЛъапIэм къызет икIи сэ зэуэ нэгъуэщIу гупсысэн изогъажьэ, сызыхущIэкъухэри нэгъуэщI гуэр мэхъу. Фэ езыхэм вгъэунэхунущ ар дяпэкIэ. Ауэ Хьисэ къафщтэ закъуэ! Сэ занщIэу мыр вжесIэн хуейщ: Хьисэ къэзыщтэм гъащIэщIэ иIэ мэхъу. Тхьэм и бын ухъуным уи гупсысэкIэм зихъуэжу къикIыркъым, ауэ гъащIэщIэ дыдэ къокI.

БлэкIа лIэщIыгъуэм Вестфалием шырыкъущIэ гуэр щыпсэуащ РаленбеккIэ еджэу. Абы и цIэр жамыIэу «Диным хуэпэж дин пашэкIэ» еджэрт, апхуэдизкIэ ар темыкIыу Хьисэ и гъуэгум тетти». Ар Тхьэм и нэфI къызыщихуа цIыхушхуэт. Абы деж зэгуэр къэкIуат дин пашэ щIалэщIэ. Раленбек абы жриIащ: 

-              Зиусхьэн дин пашэ, теологиер бджы къудейкIэ абы Тхьэм и бын уищIыркъым. Уэ Хьисэ къэпщтэн хуейщ. 

Дин пашэм жэуапу къритыжащ: 

-              СиIэщ сэ Хьисэ. Уеблэмэ щезгъаджэ кабинетым абы и сурэт фIэлъщ. 

Раленбек лIыжьым ар идакъым: 

-              Пэжщ, блыным Хьисэ Iэдэбу икIи мамыру фIэлъщ. Ауэ Ар уигукIэ къапщтэу Ар фи гъащIэм къыхыхьэмэ, абы щыгъуэ зэрыхьзэрий къигъэхъунущ.

         Сэ фэ сыфхуоупсэ фэри мис а зэрыхьзэрий дахащэм фыхэтыну - абы щыгъуэ жьыр малIэри, фэ Тхьэм и бын фыхъуауэ уэгум ит Тхьэр вгъэлъэпIэн щIыводзэ, сыту жыпIэмэ фэ фощIэ дунейм фыщIытетыр: Тхьэм и быну фыщыткIэрэ, фэ уэгум ит Тхьэр фи IуэхущIафэхэмкIэ, фи псалъэкIэ, фи гупсысэхэмкIэ фхуэгъэлъэпIэнущ.

         ЖысIэр зыгурывгъаIуэ, сэ ныфхуэсIуатэр диным къыхэкIа зэштегъэукъым, дин лэжьакIуэми и идеекъым, ауэ абы елъытащ фи гъащIэри фи ахърэтри, мыкIуэдыжын гъащIэри ажал мыухыжри.

                          Зиусхьэн Хьисэ жиIащ: 

-              Бжэм сыIутщ - икIи абы сытоуIуэ. Си макъыр зэхихыу бжэр зыгуэрым къысхуIуихмэ, абы деж сыщIыхьэнущ. 

Хьисэ дэри апхуэдэу къыджеIэ: 

-              Уи гъащIэм и бжэм сыIутщ! НыIух! Сэ сыхуейщ уи гъащIэм мыхьэнэ хэслъхьэну!».

                          Зи ныбжь хэкIуэта шахтер гуэр си деж къыщIыхьэри, къызжиIэгъащ: 

-              Сынопсэлъэну сыхуейт, зиусхьэн дин пашэ. Иджыпсту илъэс 70 сохъу, илъэс 17-м сыщитым Тхьэм теухуа зэхуэс гуэрым сыхэтауэ щытащ. ИкIи абы щыгъуэ зыхэсщIат Хьисэ си гум къызэрытеуIуэр. Ауэ сэ сигукIэ жысIащ: мыр си фIэщыпэ сщIырэ Ар къасщтэмэ, си ныбжьэгъухэр къысщыдыхьэшхынщ. Ар къэбгъэхъу хъунукъым. Арати сакъыхэкIыжащ зэхуэсым. Иджы, мис, си гъащIэр блэкIащ. Жьы сыхъуащ. Иджы сощIэ си гъащIэр зэрымытэмэмыр, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ абы щыгъуэ Хьисэ бжэр зэрыхуIузмыхамкIэ сыщыуащ!.       Ныбжьэгъухэ, дэ зы гъащIэ закъуэщ диIэр, абы къыхэкIкIэ, гъащIэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ дыдэ зиIэщ «Сыт сэ сыщIэупсэур?»  упщIэр. Тхьэм а упщIэм и жэуапыр гъэхуауэ икIи гурыIуэгъуэу къыдитащ Хьисэ жорым кIэраIулIэу лIахэм къазэрыхэтэджыкIыжамкIэ. Мис иджыпстуи Хьисэ фи бжэм къыIутщ икIи къытоуIуэ. Ефт Абы фи гъащIэр, апхуэдэу зэрыфщIам фэ зэи фыхущIегъуэжынкъым.  

 

 

                    

СЭ ЗЭМАН СИIЭКЪЫМ!

 

-              НакIуэ! Дин пашэ Буш дедэIуэнщ! - жаIэу зыгуэр щрагъэблагъэкIэ, нэхъыбэм жаIэр мыращ: 

-              Сэ зэман сиIэкъым!.

         Мыр къыщыхъуар курортырщ. ШхапIэм си гупэмкIэ къист зи ныбжь хэкIуэта лIы, абырэ сэрэ хъарзынэу дызэгурыIуэрт. 

-              Мыр гъащIэм къыпихыфынур къыпызых гуэрщ! - сегупсысырт сэ зэзэмызэ, а лIы бжьыфIэшхуэм и гур хуэкъабзэу шхыныр зэригъэкIуэщIыр е дыгъэм зригъэууэ плIаплIэу зэрыщысыр щыслъагъукIэ. Хуэм-хуэмурэ сигу къеуэ хъуащ ди уэршэрыр Iуэху цIыкIуфэкIухэм дапщэщи теухуауэ зэрыщытыр. Зыгуэр щIэупщIэнкIэ хъунщ: «Сыт-тIэ абы Iейуэ хэлъыр?» - жиIэу. Ауэ сэ абы нэгъуэщIу согупсыс. Сэ си фIэщ мэхъу Тхьэр щыIэу хъуам зэрынэхъ иныр. Си гъащIэм зэрыщыту зихъуэжащ Тхьэм Iуэху абрагъуэ зэрыхузэфIэкIар къыщысщIам: «Тхьэм дунейр апхуэдизкIэ фIыуэ къилъэгъуати, Езым и Къуэ закъуэр итащ, Ар зи фIэщ хъур хэмыкIуадэу гъащIэ мыкIуэдыж иIэ хъун папщIэ». Сыту си жагъуэ а Тхьэм къытхуищIар гулъытэншэу къигъанэу цIыхур щыблэкIкIэ. Си уэршэрэгъум и Iуэхур арат зытетыр. Ар Тхьэм и пащхьэ иувэн хуейуэ къыхудэкIмэ, сыт хуэдэ щытыкIэм итыну ар?! Зэгуэр, шэджагъуэм, абы IэщIэслъхьащ сэ стха тхылъ цIыкIу: 

-              Мыбы еджэ, кхъыIэ. Мыр зытеухуар Тхьэм щIыгъуу упсэунырщ.

Мыхьэнэшхуэ зиIэ гуэрхэм уригъэгупсысынущ мыбы! 

ИкIи къэхъуар сыт? Абы фIыщIэ къысхуищIащ, гуапэуи жиIащ:

-              Иджыпсту сэ зызгъэпсэхун хуейщ, ауэ унэм сыщеджэну зэман къэзгъуэтыфынкIи хъунщ!

Ар къызжиIэри, тхылъыр иригъэтIылъэкIащ. Сэ ар си жагъуэ хъуащ. Мы курортым щиIэ зэман лейм хуэдиз абы зыщIыпIи щиIэнутэкъым. ИпэжыпIэкIэ, хуэмейуэ арат Тхьэм зэман хухихыну. Шынагъуэщ Тхьэм апхуэдэу убгъэдыхьэныр, икIи абы теухуауэ узэпсэлъэну хуэфащэщ.

 

1. Iуэхухэм я щытыкIэ зэхэвмыбз

 

         Сыт дэ зэман щIыдимыIэр? Псом япэу сэ зы Iуэхугъуэ гуэрым гу лъывэзгъэтэнут - ар сэ схузэхэгъэкIыркъым, къызгурызгъэIуэфыни зы цIыху иджыри къэс сыхуэзакъым.

         Феплъыт: илъэсищэ хуэдизкIэ узэIэбэкIыжмэ, Штутгарт къалэм щыщ сондэджэрым Эссен щыщ гуэрхэм сату ядищIыну ягурыIуэн папщIэ, ар пощт мафIэгум ису махуитху енкIэ абы кIуэн хуейт, къыщыкIуэжкIи жэщитхумахуитху гъуэгуанэ къыпэщылът. Ар махуипщI хъуркъэ, абы нэмыщI езы зэгурыIуэныгъэр зэухылIэнми махуитI текIуадэрт. Псори зэхэплъхьэжмэ, зы мазэ ныкъуэ ехь. Иджырей коммерсантыр телефонкIэ псалъэмэ зэфIокI, абы щхьэкIэ телефон станцым щIэкIуэн щыIэкъым, и унэ исыжу хэти зыпещIэф,

апхуэдэ щIыкIэкIи а зи гугъу тщIа махуэ 12-р къыхудедзэ. Ауэ а коммерсантхэм уакIэлъыплъмэ, махуэ 12 лейуэ зиIэ яхэбгъуэтэнукъым. Уеблэмэ зэманыр нэхъ яхуримыкъу хъуащ ! Дэтхэнэми аращ жиIэр: «Сэ зэман сиIэкъым!» Дэнэ-тIэ Iуэхур здэщыIэр?

         Япэм, си сабиигъуэм, си анэшхуэмрэ си адэшхуэмрэ щыпсэу Шваб Альб щIыпIэм сыщыкIуэм, Эльберфельдрэ Урахрэ я зэхуаку дэлъ гъуэгуанэр дуней псор зэлъэзыщIыс хуэдэу къытщыхъурт. Иджырей транспорткIэ а гъуэгум текIуадэр сыхьэтитху къудейщ. Апхуэдэу уеплъмэ, цIыхухэм зэман лей куэд дыдэ яIэн хуейт! Япэм зы тхьэмахуэ зэхуакум сыхьэт 60-кIэ е нэхъыбэжкIэ лажьэу щытащ. Иджыпсту зы тхьэмахуэм сыхьэт 40-щ лэжьапIэм зэрыIутыр. Зы цIыхуми хущIыхьэгъуэ иIэкъым итIани. Дауэ ар зэрыхъур? 

ИтIанэ мыри: ди гъащIэр зэрыщыту нэхъ тынш зэрыхъуным хуэунэтIащ иджыпсту. Си анэр махуэ къэс Библием щыщу  псалъащхьи 4 еджэу щытащ, абы хузэфIэкIырт Iыхьлыуи благъэуи иIэу хъуам Тхьэм яхуелъэIун.

А зэманым токукIэ лажьэ зэрыжьыщIэ машини, пщэфIапIэм щIэт дэIэпыкъуэгъу хъу машини щыIэтэкъым. Абы быни 8 ипIын, зыхуей хуигъэзэн хуейт. Абыхэм нейлоным къыхэщIыкIа щIагъщIэлътэкъым ящыгъыр, я лъэпэд лэжьари хыфIадзэжыр-тэкъым, ядыжу адэкIэ щагъагъ

фIэкI. АтIэ а псом ящIыIужкIэ абы зэман игъуэтырт махуэ къэс ХъыбарыфIым и псалъащхьи 4 еджэну! Фэ зэман вгъуэтрэ а псор зэфIэвгъэкIыну? Хьэуэ, апхуэдэ зэман фиIэкъым фэ! Сыт-тIэ абы и щхьэусыгъуэр?

КъывгурыIуэрэ: псори зыхуэунэтIар зэман къыдэгъэхуэнырщ, итIани зы цIыхуми зэман лей иIэкъым. Фэ езым жыфIэфыну апхуэдэу щIыщытыр? Сэ куэдрэ сегупсысащ абы, ауэ гъуэтыгъуейщ абы и жэуапыр. Зы жэуапщ абы иIэнкIэ хъунур, цIыхухэм ар я тхьэкIумэм ирагъэхьэну хуэмейми, нэгъуэщI жэуап сэ сщIэркъым: зыгуэр лъэныкъуэкIэ къыщытщ дэ дигъэпIащIэу! ЩыIэщ  зыгуэр, цIыхум зэман лей имыIэным кIэлъыплъу. Циркым хьэкIэкхъуэкIэ Iэлхэр зыгъэIэсэу ит цIыхум ещхьу, ар зэпымыууэ къамышы кIыхькIэ теуIуэурэ цIыхухэр егъэущ. Ардыдэрщ Библиеми жиIэр: пэжщ, а «зыгуэр» жыхуэтIэр щыIэщ! Ар шейтIанырщ. Иджы ди пащхьэм итщ зы упщIэ: щыIэ а шейтIаныр? Абы и жэуапыр сэ фызот: атIэ, шейтIаныр щыIэщ! ЩыIэщ «кIыфIыгъэм и тепщэхэр».

ЦIыху гуэр къызэпсалъэу зэгуэр къызжиIащ, «чыристаныгъэм сыпыкIащ», - жиIэри. Сэ хуэздакъым абы жиIэр: 

-              Ар щхьэрыуагъэщ!  ШейтIаным узэщIиубыдащ уэ! Абы уIэщIэкIуэдэнущ!

 Ар пыдыхьэшхыкIри, жиIаращ: 

-              ЩыIэ ар езыр, а жин жыхуэпIэр?.

         Библием итщ: шейтIаным Хьисэ Iуащхьэ лъагэ дыдэ гуэрым и щыгум дрешей, укъеплъыхмэ, ихъуреягъкIэ дуней псор плъагъуу. ШейтIаным лъэпощхьэпо хъу псори лъэныкъуэ иригъэзри, Хьисэ къилъэгъуащ дунейм пащтыхьыгъуэу тетри абыхэм щIыхьу яIэри. ШейтIаным Хьисэ абдеж къыжреIэ: «Мис мо псори уэ уэстынущ, щхьэщэ къысхуэпщIмэ - а псори сэ си IэмыщIэ илъщ, сызыхуейми ест хъунущ». Библием нэхъ сызыIэпызышэу хэт щIыпIэхэм ящыщщ мыр, сыту жыпIэмэ Зиусхьэн Хьисэ шейтIаным щыпэувыркъым мыбдеж. Ар арэзыщ шейтIаным дунейр IэщIэлъу зэрыжиIэмкIэ.

         ВжесIэнуращи, нэфу икIи делэу ущытын хуейщ, кIыфIыгъэм и тепщэныгъэ зэрыщыIэр къыбгурымыIуэн щхьэкIэ! Арыншауэ фэ дауэ мы дунейр зэрызэхэвгъэкIыфынур? Абы теухуауэ Iуэхугъуэ зытIущ къудей сыкъытеувыIэнут.

         Сэ сигу къокIыж, псалъэм папщIэ, Iуэху гуэрхэм хьэщыкъ ящIа, зыщIаубыда цIыху куэд. Жэщу си деж зэгуэр къокIуэ лэжьапIэ гуэрым и директорыр - зимыщIэжу чэфу - икIи къызжеIэ: «КъыздэIэпыкъу, нэгъуэщIу хъужыркъым, семыфэу схуэшэчыркъым! Си адэр фадэм итхьэкъуауэ щытащ. Ар лIэужьу сэри схэтщ. НэгъуэщIу сыпсэуфыркъым!»  Дапхуэдиз цIыху щыIэу фи гугъэрэ мис апхуэдэу ягукIэ зашхыхьыжу, ауэ я дуней тетыкIэр яхуэмыхъуэжу! Хэт абыхэм унафэ къахуэзыщIыр? Мы ди зэманым тхьэмыщкIагъэрэ гузэвэгъуэу къэхъу псоми факIэлъыплъи, фэ хьэкъыу фи фIэщ хъунщ Библием зэрыжиIэм хуэдэу «кIыфIыгъэм и тепщэхэр» зэрыщыIэр!

         Е фегупсысыт мы ди лъэхъэнэм зэрышэхэм ящыщ куэд щIызэбгъэдэкIыжым. Зы зиусхьэн гуэрым унагъуэ хъарзынэ иIэщ, и фызыр тхьэIухудщ, итIани лэжьапIэм къыщыдэлажьэ цIыхубз гуэрым и «къэпхьэным йохуэ». Сэ абы деж сыщIыхьэри жесIащ: «Си къуэшыжь, уи гъащIэр зэтыбокъутэж уи IэкIэ, уи унагъуэр зэтыбогъэщахэ, уи бын дыдэхэм уафIэдыхьэшхэн уохъу!» Иджыпсту си пащхьэм къисым хуэдэу си нэгу щIэтщ ар - а сатуущIэ менеджер ехьэжьар: «Зиусхьэн дин пашэ,  сыкъыпыкIыфыркъым а хъыджэбзым, схузэфIэкIыркъым!» КIыфIыгъэм и тепщэныгъэ хэплъагъуэркъэ мыбы?

         Инджылыз тхакIуэ цIэрыIуэ Сомерсет Моэм тхылъ Iув итхащ «ЦIыхур зэрыщхьэхуимытым теухуауэ» и цIэу. Сытым хуэдизу цIыхухэр зыр адрейм и IэмыщIэм илъ зэрыхъур! Гитлер дапхуэдэу Iэхъулъэхъу ищIауэ щыта цIыхухэр! ТIур тIэу къапщтэмэ, тIощI мэхъу, жиIэу фюрерым жиIамэ, абы зэрыжиIа къудейм щхьэкIэ я фIэщ ящIырт. Иджы зыхэфщIауэ къыщIэкIынщ кIыфIыгъэм и тепщэныгъэр, фи фIэщ хъуагъэнщ шейтIан зэрыщыIэр.  Нэмыцэ усакIуэ щэджащэ Гете драмэ телъыджэ итхащ «Фауст» и цIэу. Сэ си гугъэщ фэ щIэныгъэ фиIэу, «Фаустми» фыщыгъуазэу. А «Фаустым» хэтщ зы хъыджэбз - Маргаритэ. Ар сабий къабзэт, гъэпцIагъэкIэ ягъэделащ армыхъу. Маргаритэ и дэлъхур къыщхьэщыжу абы и щIыхьыр ихъумэну иужь йохьэри Маргаритэ къэзыгъэпцIахэм а щIалэр къаукI. И щIасэ зыгъэделар и пэшым щIишэн папщIэ, Маргаритэ и анэр жей хущхъуэ гуащIэ ирегъафэри, и анэр абы егъалIэ. Уэндэгъу хъууэ сабий къыщIэхъуар Маргаритэ езым егъэлIэж, мис иджыпстуи иджыри дунейм къытемыхьауэ ныбэм илъ быныр цIыхухэм зэраукIыжым ещхъу. Сыт хуэдэу къуаншагъэ ин абыхэм зытралъхьэжыр! И кIэм, мис, и кIэхэм деж а цIыхубзыр щытщ: и анэри, и дэлъхури, и сабийри хьэдэщ, уи щхьэм дэуеин псалъэхэри къепсэлъ: «А къэхъуа псор сэ сэзыгъэлэжьар, ди Тхьэ, си псэм фIыуэ илъэгъуарщ». Гете акъылыншэу щытакъым. «Фаустым» абы къыщыжеIэ а къекIуэкIа псоми шейтIаныр зэрыхэпщIар!

         Къалэшхуэм сыщридин пашэкIэ, сэ апхуэдэ къэхъугъэхэм зэпымыууэ саIумыуэу хъуркъым. ИкIи си деж зыгуэр къакIуэрэ:

-              ШейтIан щыIэкъым» къызжиIэмэ, сэ къысхуэнэжыр мыпхуэдэу абы сеупщIынырщ: 

-              Сыт хуэдэ къуажэ бгынэжа цIыкIу уэ укъыздикIар? 

Ар жысIэ щхьэкIэ, апхуэдэ щIыпIэхэми щыIэу къыщIэкIынущ шейтIаныр.

         Си ныбжьэгъухэ, шейтIаныр зэрыщыIэр сэ хьэкъыу спхыкIащ, чыристанхэр я щыуагъэхэм зэрыхуэнэфым зэпымыууэ сыкIэлъыплъкIэрэ. Языныкъуэхэм деж, щапхъэу къэтхьынщи, Тхьэм и фIэлIыкI зигу илъ цIыхубзыр нэсри къэсыжауэ щхьэхуещэу щытынкIэ хъунущ. Абы и нысыр дунейм треху, ауэ абы езым гу лъитэжыркъым. Тхьэм и фIэлIыкI зигу илъ цIыхубз! Тхьэм и фIэлIыкI зигу илъ цIыхухэ, Тхьэм фелъэIу Абы кIыфIыгъэм и тепщэныгъэм фыкъыIэщIигъэкIыну.

         Флъагъуркъэ, дунейр уи акъыл къитIэсэнукъым, шейтIан кIыфIыгъэм и тепщэгъуэ, щхьэхуимыту зэпымыууэ дызыIыгъ тепщэгъуэ зэрыщыIэр къыумылъытауэ. Аращ зэман щIэдмыгъуэтри.

         ШейтIаным хузэфIэкI къигъанэркъым, дэ зэман лей къыдимытын щхьэкIэ, сыту жыпIэмэ а зэманыр диIэмэ, дэ а кIыфIыгъэм и тепщэгъуэм дыкъызэрыIэщIэкIын Iэмал зэрыщыIэм дегупсысынкIэ хъунущи! Иджы, етIуанэращи, сэ сытепсэлъыхьын хуейщ абы къызэрыIэщIэкIа хъунум.

 

2. Щыпкъагъэ дыдэ

 

         Щыпкъагъэ дыдэкъэ ар - укъызэрыIэщIэкIын Iэмал щыIэщ! Ей, си ныбжьэгъухэ, сытым хуэдэу сыгуфIэрэ апхуэдэ хъыбар дахэ зэрызиIэм папщIэ! Нэгузегъэужь гуэрхэр щекIуэкIкIэ, абыхэм зыкъыщагъэлъагъуэ хабзэщ ажэгъафэ хуэдэхэм, уагъэдыхьэшхын фIэкIа нэгъуэщI гупсысэ гуэр зыхэлъ зымыIуатэхэм. Сэ зэзэмызэ согупсыс ахэр пщыхьэщхьэм я унэ екIуэлIэжу ажэгъафэ фащэр зыщахыжа нэужь, я нэкIум телъ гримыр  ятхьэщIыжа нэужь, я гукъыдэжыр зэрыщытым. Пэжыр жыпIэмэ, апхуэдэ ажэгъафэр мыпхуэдэу егупсысыпхъэщ: «Сэ ахъшэ къызолэжь псалъэ купщIэншэхэр, щIагъыбзэ зыщIэлъ цIапIагъэ гуэрхэр къэспсэлъурэ». Ар уигу къэкIмэ, уигурэ уи щхьэрэ зэбгъэжын хуейщ! Ауэ сэ сыту сынасыпыфIэ кIыфIыгъэм и тепщэгъуэм укъызэрыIэщIэкIыфыну щыпкъагъэ телъыджэм, щыпкъагъэ иным сытепсэлъыхьыну Iэмал зэрызиIэм папщIэ!                                        

Апостол Паул щIыпIэ гуэрым чыристанхэм я Iуэху зытетыр мыпхуэдэу къыщеIуатэ: «КIыфIыгъэм и тепщэныгъэм дыкъыщIихыжри, езым фIыуэ илъагъу и Къуэм и тепщэныгъэм дыщIигъэуващ. Езым и Къуэращ лъыуэ жорым щыщIэкIамкIэ ди щхьэхэр къэзыщэхужар, ди гуэныхьхэри къытхуэзыгъэгъуар». Аращи, чыристану ущытыным, япэ дыдэрауэ, къикIыр зебгъэумэхъауэ е члисэм хьэкътын епту ущытыныр аракъым. Чыристану ущытыным къикIыр, псом япэу, щIэрыщIу укъалъхужауэ, кIыфIыгъэм и тепщэныгъэм укъыхатхъауэ икIи гъащIэщIэм ЗисухьэныщIэм и  унафэм ущыщIэтын хуейуэ аращ!  

Абы ехьэлIауэ сэ зы хъыбар гуэр фхуэсIуэтэжынщ, Берлин щыщ миссионерым жыIэу зэхэсхауэ. Абы фадафэ хъуа гуэр и нэIэ щIигъэтт. Ар Iуэху шынагъуэщ. Зэгуэр абы зэхихащ а цIыхур аргуэру хьэлэчу ефэу унэлъащIэр зэтрикъутауэ, и фызри иубэрэжьауэ. Арати, мурад ищIащ абы деж кIуэну. Зэманыр шэджагъуэ нэужьти, а лIыр пщэфIапIэм щIэст, кофе ефэу. Абы къыбгъэдэст илъэситху зи ныбжь и къуэ цIыкIур. Миссионерым щэныфIэу фIэхъус итри щIэупщIащ: «Аргуэру удишэха?» ЛIым и дзэхэр зэригъэшхыу къыщылъэтащ, зы псалъэ жимыIэу къуэдзапIэ хуэдэу яIэм щIыхьэри жьыщIыгъэ зрадз кIапсэ иIыгъыу къыщIэкIыжащ. ИтIанэ зыри жимыIэу и къуэ цIыкIур зытес шэнтым трипхащ. «Сыт мыбы ищIэр? Иджыпстуи чэфыр пкърыту пIэрэ абы?» - егупсысащ миссионерыр. Ауэ хэмыIэбэу мобы ищIэнур ирегъащIэ. ЛIым щIалэ цIыкIур ирипхри, кIапсэ кIапэхэр зэригъэлъэдэжащ. ИтIанэ щIэкIиящ абы:

-              Тэдж!» - жиIэри.  

-              СхузэфIэкIыркъым!»  - тхьэусыхэурэ, гъыну къыхидзащ щIалэ цIыкIум. ИтIанэ мо ефакIуэм уи гущIэлъапсэр къызэзыгъэдзэкI нэгукIэ миссионерым къеплъурэ зыкъыхуегъазэ: 

-              Плъагъуркъэ: хузэфIэкIыркъым! Сэри аращ къысщыщIыр: схузэфIэкIыркъым! 

Миссионерым сэ жан и жыпым кърихри, кIапсэр зэпиупщIащ, ар зэрыкIапсэфIым щхьэкIи щымысхьу. ИкIи макъ мамыркIэ щIалэ цIыкIум «Тэдж» жриIащ. ЩIалэ цIыкIур къэтэджащ, миссионерым фадафэм зыхуигъэзащ: 

-              Мисыр, хузэфIэкIакъэ! 

-              Дауи, - идакъым ар модрейм, - кIапсэр щызэпыбупщIкIэ дэнэ кIуэн! 

Абы и жэуапу миссионерым жиIаращ: 

-              Мыдэ къэдаIуэ: щыIэщ Зыгуэр, дэ Iэпхлъэпх дызыщI кIапсэхэр зэпиупщIу. Ар  - Хьисэщ!

         Дунейм цIыху куэд тетщ, мыбыкIэ щыхьэт хъуфыну: «Хьисэ къакIуэри Iэхъулъэхъухэр зэIукIащ/ Ди ажал церпхэр Абы зэригъэлъэлъащ./ ЕмыкIум и лъабжьэр Абы игъэсысащ./ КъегъэлакIуэм - Тхьэм и Къуэм щхьэхуитыныгъэ къыдитащ./ Гуэныхьымрэ напэтехымрэ Абы щIыхькIэ зэрихъуэкIащ./ Хьисэ къакIуэри, Iэхъулъэхъухэр икъутащ./ Щыпкъагъэ дыдэкъэ кIыфIыгъэм и тепщэгъуэм укъызэрыIэщIэкIын Iэмал зэрыщыIэр! Ещэнэрауэ, сэ фэ вжесIэн хуейщ.

 

 

3. Си темэ пэжыр

 

Си темэ пэжыр? Щхьэхуит ухъужыныр ХьисэкIэщ къызэрыкIуэр! Сэ иджыпсту сызытепсэлъыхьын хуейр Хьисэщ. Хьисэ и гугъу сщIымэ, аращ сэ си темэ нэсу щытри.

         Сигу къокIыж Нью-Йорк сыкIуауэ негрхэм я хасэ сызэрырагъэблэгъауэ щытар. Фэ фыщыгъуазэу къыщIэкIынщ  абы расэ зэмыщхьхэм я кум щыдэлъ зэщыIеиныгъэм. А негрхэм я хасэр щылажьэ унэм и япэ къатым иIэ пэшышхуэм теувапIэ лъагэм тету мраморым къыхэIущIыкIа цIыху щIэтт. Гу лъыптэрт ар зэрымыфIыцIэм. Сэ згъэщIэгъуащ негрхэм я хасэм цIыху хужьым и фэеплъ зэрыщагъэувар, икIи негр гуэрым сеупщIащ: 

-              Ныбжьэгъу, хэт хъуну мыр? 

А лIым абдеж зэрызищIар игъащIэкIэ сщыгъупщэнкъым. Ар статуем уардэу бгъэдэувэри и макъым щIыхь къыхэщу жиIащ: 

-              Мыр Авраам Линкольнщ, си щхьэхуитщIыжакIуэрщ! 

Абдеж си нэгу къыщIэзгъэхьащ мы щIалэщIэр къалъхуным иджыри Iэджэ зэман иIэу, Линкольн зауэ гущIэгъуншэм негрхэм я щхьэхуитыныгъэр къызэрыхихар. Мы щIалэщIэр абы хэтакъым икIи илъэгъуакъым ар. Ауэ абы фIыщIэ хуещI Линкольн, ар лъыгъажэ гуащIэхэм хэту негрхэм я щхьэхуитыныгъэм зэрыщIэбэнам папщIэ. ДэкIуеипIэмкIэ лъагэу зысIэтауэ сыкъыщызэплъэкIыжам, а щIалэр фэеплъэм и гупэм итт иджыри икIи къытригъэзэжурэ жиIэрт:

-              Авраам Линкольн сэ си щхьэхуитщIыжакIуэщ! - жиIэурэ.           Сэри сыхуейт Хьисэ и жорым и пащхьэм сиувэу «Хьисэ си ЩхьэхуитщIыжакIуэщ !» жысIэну.

         Библием зы псалъэ хэтщ, Iуэху хьэлэмэт гуэрым тепсэлъыхьу: «Хьисэ Мэссихь ди псэм щыщу Тхьэм и Псэ ЛъапIэу гъащIэ щыпкъэр къыдэзытым и хабзэм гуэныхьымрэ лIэныгъэмрэ я хабзэм и тепщэныгъэм сыкъыщIихыжри, щхьэхуит сищIыжащ». ЩыIэщ природэм и хабзэхэр. ПэрылъэщI бэльтоку IэкIэ сIыгъыр сутIыпщмэ, природэм и хабзэм ипкъ иткIэ ар щIым йохуэх. Ар нэгъуэщIу пхуэхъуэжынукъым. Ауэ ар щехуэхкIэ IэкIэ къэзубыдыжмэ, щIым ехуэхынукъым. НэгъуэщIу жыпIэмэ, нэхъ къару лъэщ къыхыхьэмэ, бэльтокур емыхуэхыу къыпхуэгъэнэнущ. Природэм дэ дрепх гуэныхьымрэ лIэныгъэмрэ я хабзэхэм. Дэ псори дохуэх, дэ псори кIуэдыжыпIэ мыухымкIэ доцIэнтхъуэх. Абы дыщыгъуазэщ. Иджы псори зэлъытар нэхъ тепщэгъуэ лъэщ къыхыхьэу ди ехуэхыныгъэр къигъэувыIэнырщ. А тепщэгъуэ нэхъ лъэщыр Тхьэм дэ ХьисэкIэ къыдитащ, Абы  дэ ди щхьэ щищэхужам щхьэхуит дыхъуну.

КъывгурыIуэу щытмэ, Хьисэ шейтIаным и иужьрей тепщэгъуэр зэтрикъутащ! ИкIи  Хьисэ Тхьэм и Псэ ЛъапIэм и къарумкIэ дэ гъащIэщIэкIэ, гъащIэ щхьэхуиткIэ дыпсэуфынущ!

         ГъэщIэгъуэнщ мы дунейм и цIыфхухэр Хьисэ къызэрыпымыкIыфыр. КъывгурыIуэну пIэрэ абы къикIыр? Зэгуэр зыгуэрым жиIащ Хьисэ мы дунейм щымыщ пкъыгъуэ гуэр хуэдэу. Мыбы пэж хэлъщ: уэгум къикIа хамэ пкъыгъуэщ! Хэт хъуну-тIэ а Хьисэр? Мыбдеж тIэкIу сыкъызэтемыувыIэу хъунукъым, сыту жыпIэмэ фэ Хьисэ зэвгъэцIыхун хуейщи. КхъыIэ, журнал гуэрхэм абы теухуауэ къивджыкIахэм Iуэхур тевмыщIыхь. Хьисэ нэгъэсауэ зымыцIыхухэм зыкъевмыгъэгъапцIэ. ХъыбарыфIыращ Хьисэ теухуауэ хъыбар пэж къыздипхыну щыIэр. Лютер Библиер тегъэщIапIэ ищIри, абы мыпхуэдэу тетхыхьащ: «Хьисэ Тхьэ пэжщ, ауэ а зэман дыдэми Мерэм хъыджэбзым къилъхуа цIыху нэсщ». Тхьэ икIи цIыху! АбыкIэ уафэр щIылъэм къепхащ! 

                         Хьисэ »цIыху нэсщ!»

Ар Лазар и кхъэлэгъунэм гъыуэ бгъэдэтыфырт. Сэ си гугъэщ Ар икIи дыхьэшхыфу щытауэ, и гъуэгу ирикIуэхэм мыпхуэдэу щажриIэкIэ: «Уэгум щызелъатэ бзухэм феплъыт: абыхэм жылэ ясэркъым икIи гъавэ къахыжыркъым, гуэнхэми иракIутэркъым, апхуэдэу щыт пэтми, фи Адэ лъапIэу уафэм ахэр егъашхэ». Аращ, сэ солъагъу си КъегъэлакIуэр нэгъэсауэ дыхьэшхыу: «А бзу къуейщIейхэри! КъафIэIуэху щыIэкъым, ауэ итIани я ныбэ из мэхъу, пшэри мэхъу».

                         Сыту цIыху телъыджэ Хьисэ!

         Библием жеIэ Абы цIыху 5000 иущияуэ, итIанэ а псори я ныбэ изу игъэшхэжауэ. ЦIыхубзхэри сабийхэри хэмыту, цIыху 5000 ! Дэ ди зэIущIэхэм сытыт къахэнэжынур, абыхэм цIыхубзхэр яхэдгъэкIамэ? Сыту иныщэт Зиусхьэн Хьисэ и зэIущIэр: цIыхубзхэмрэ сабийхэмрэ я гугъу умыщIи, итIани цIыху минитху ! Абы микрофони иIэтэкъым. АтIэ дауэ макъ лъэщ иIэн хуейт Хьисэ! Ар цIыху телъыджэт!

         ХъыбарыфIым хэт нэхъ теплъэгъуэ щэджащэхэм ящыщ зыщ Римым щыщ Iэтащхьэ Понтий Пилат и унафэкIэ Хьисэ щIопщкIэ зэреуар. Абы и щхьэм пыжь банэ зэхэухуэна къыфIакъуат. И нэкIум къыщIэубжьытхат. И Iэпкълъэпкъыр зэпкърылэлырт. ИкIи мис ар къыщIокI... Пилат япэ щIыкIэ Абы йоплъ, итIанэ цIыхубэм къахоплъэ, Хьисэ IэпэкIэ къарегъэлъагъури жеIэ: «Мы цIыхур !» Лютер ар зэредзэкI: «Феплъыт мы цIыхум и теплъэм!» Зэрыщыт дыдэм хуэдэу зэбдзэкIэмэ, абы къокI: «Мыр цIыхущ!»  Пилат абыкIэ жиIэну зыхэтыр мырат: «Сэ лъакъуитIкIэ зекIуэ псэущхьэ Iэджэ слъэгъуащ, ауэ ахэр дыгъужь мэжэщIалIэт, къаплъэн шынагъуэхэт, бажэ хъилэшыхэт, дыщэ джэд зызыгъэщIагъуэхэт, уеблэмэ номинхэт. Ауэ Хьисэ цIыхущ!»

         Пилат къыгурыIуагъэнут мыр: «Дэ дызэрыщытын хуейм хуэдэ цIыхущ Хьисэ!» Куэд щIакъым зыгуэрым къызэрызжиIэрэ мыпхуэдэу: «Дэ дэщхь цIыхукъым Хьисэ». Ауэ сэ ар хуэздакъым: «Хьисэ цIыхут, ауэ дэ дэщхьтэкъым, дэ дызэрыщытын хуейм хуэдэу арат!» - жысIэри. Дэ дызэрыщытын хуейм, Тхьэм цIыхур зэрыщытын хуейуэ къызэрыфIэщIым хуэдэ цIыхуу щытащ Хьисэ. «Хьисэ дэ дэщхьу цIыхут» жиIэу зыгуэрым къывжиIэ хъумэ, фэри абы феупщIыж: «Уэ Хьисэ урещхь?» жыфIи.        Сыхуейт сымыувыIэжу абы сытепсэлъыхьыну. Псалъэм папщIэ, Абы и гъуэгу ирикIуэхэр кхъуафэжьейм ису Геннисарет псыхъурейм борэным зэрыщыхиубыдауэ щытам теухуа хъыбарым. 

         Кхъуафэжьейм напIэзыпIэм псыр из хъуащ. Чэтэныр зыIыгъ пкъор ирищIыкIащ. «ХылIхэр абы игъэшынэнкъым!» - жаIэурэ зыщытхъужырт исхэр –пэжу, куэд зыгъэунэхуа хылIхэр ист кхъуафэжьейм. Ауэ иужьым гъуэгурыкIуэхэр, дауэ щытми, къэшынащ, уеблэмэ зэрыгъэгужьеижри, зэрыгъэкIийуэ щIадзащ: 

-  Дэнэ Хьисэ здэщыIэр? Ар каютэм щожей! 

Ахэр каютэм йолъадэ, псыдзэр я кIэм иту, икIи Ар къагъэуш:

-  Зиусхьэн, дыщIелъафэ! 

Абдеж слъагъу хуэдэщ Хьисэ борэным пэщIэту палубэм зэрытехьэр. Хьисэ члисэ IурыщIэхэм щIэдубыдэну сыт щыгъуи дыхэтщ. Ар Езыр борэным хэтщ. ФщIэуэ пIэрэ Фэ ар? Къыпщохъу борэным Ар ириудыфыну лъакъуэпэщIэуэ къыхуищIу. Ауэ Абы и Iэр ешийри,  борэн зэщIэкъугъэм ткIийуэ унафэ хуещI: «УвыIэ!» - жеIэри. А напIэзыпIэми толъкъунхэр йотIысэхыж, пшэхэри зэбгрокIыж! Мы хъыбарыр си сабий цIыкIухэм щахуэсIуатэм, си къуэ цIыкIум жиIаращ: 

-  Уафэгъуагъуэри бзэхащ! 

-  Аращ, - дэсIыгъащ сэри, - уафэгъуагъуэри бзэхащ! 

Дыгъэр нуру къепсыжащ. ГъуэгурыкIуэхэр  лъэгуажьэмыщхьэу зэхэуващ: 

-  Мыр сыт цIыху! Мыр дэ дэщхь цIыхукъым! 

ИкIэм-икIэжым абыхэм жэуапыр къагъуэтащ: «Мыр цIыху хъуа Тхьэщ!»           ИкIэм нэсу ар абыхэм къащыгурыIуар Хьисэ псэууэ кхъэлэгъунэм къыщыдэкIыжа IутIыж махуэрщ. Си ныбжьэгъухэ, сэ фэ вжесIэр таурыхъкъым. Мыбдеж сыщытыну сытегушхуэнтэкъым, Хьисэ лIахэм къахэтэджыкIыжам хэту ди деж Тхьэ псэууэ къызэрыкIуар хьэкъыпIэкIэ спхыкIауэ си фIэщ мыхъуу щытамэ.

                          Псом хуэмыдэжу сфIэфIщ сэ Ар жорым щыфIэлъыр си нэгу

къыщIэзгъэхьэну. Мис абдеж ар ипэжыпIэкIэ «Тхьэщ икIи цIыхущ». Сыхуейт Абы и сурэтыр фи нэхэм къыщIезгъэдзэну таж щхьэрыгъыу, ар къызэрагъэулъиин тажу щытми. Iэ лъэщхэр пхъэм кIэрыIулIащ. Ар, и щхьэр къыфIэщIауэ, малIэ. «Пхъэм щыщIаIэта си КъегъэлакIуэ, Уи нэгу бэлыхьым зэхиукIар мис жорым къыщыфIэщIащ».

         ФыIуплъэ а Хьисэ, Абы и пащхьэ фыкъыщыувыIи, фыщIэупщIэ: «Сыт Ар абы щIыфIэлъыр?» И жэуапыр къэвгъуэтыху, фыщIэупщIэ: «Абдеж Абы сэ кIыфIыгъэм и тепщэхэм сакъыщыIэщIегъэкI! Абы сэ шейтIаным и къарум сыкъыIэщIех!» Чэнджэщ фызот фи гупсысэкIэ а зэманым фыхыхьэну, Хьисэ и жорым фекIуэлIэну, Абы фыIуплъэу мор фи фIэщ фщIыну, къывгурыIуэну: «Тхьэм и бын щхьэхуит сыхъун папщIэ, мыбдеж сэ кIыфIыгъэм и тепщэгъуэм сыкъыщыIэщIихащ Хьисэ». Иджы фэ шейтIаным фыкърихукIыну хуит фщIыну щхьэусыгъуэ щыIэкъым, ауэ, жорым феплъкIэрэ, фэ фи фIэщ фхуэщIынущ мыр: «ШейтIаным и тепщэгъуэм кIэ иIэщ! Хьисэ нэхъ лъэщщ! Мы жорым кIэрыIулIам сэ си щхьэр къищэхужащ, икIи сэ сыщхьэхуитщ!»  Ди лъэхъэнэм и проблемэ мыхьэнэ зимыIэхэм фапыкI! ГъащIэм и тэмэмыпIэм зыхэвгъэгъуазэ! Дэ Тхьэм и бын щхьэхуит дыхъун хуейщ, апхуэдэ дыхъунуи хуитыныгъэ диIэщ! Апхуэдэу дыхъун папщIэ, дызыхуэныкъуэ псори Тхьэм ХьисэкIэ тхузэригъэпэщащ, Ар жорым ираIулIу лIахэм къащIыхэтэджыкIыжар дэращ!

         Сэ сощIэ Тхьэм щытепсэлъыхьым деж цIыхур щтэIэщтаблэ зэрыхъур. Сыт абы и щхьэусыгъуэр? Плъагъуркъэ, дэ псори Библием зи хъыбар иIуатэ къуэ гъуэщам дыхуэдэщ. Абы и унэри и адэри ибгынащ. Ауэ адэ унэм пэIэщIэ зэрыхъуу, ар насыпыншэ дыдэ хъуащ. Абы фIэфIыпсу игъэзэжынут и адэм деж, ауэ шынэрт, тегушхуэртэкъым. Сыт щхьэкIэ? Абырэ адэмрэ я зэхущытыкIэм мытэмэмыгъэ куэд хэлъти!

Абы ещхьу цIыху куэд Тхьэм IущIэну хуейкъым, мыпхуэдэу ягукIэ зэрегупсысым къыхэкIыу: «Сэрэ Тхьэмрэ куэдкIэ дызэщхькъыми, дэ дызэзэгъынукъым». АбыкIэ ахэр нэгъэсауэ захуэщ. Ахэр, дауи, кIыфIыгъэ къарухэм я тепщэгъуэм щIэтщ икIи Тхьэм зы тIэкIукIи екIуэлIапIэ яIэкъым! Ар пэжщ, ауэ фэ дауэ феплърэ, Хьисэ кIыфIыгъэм и тепщэгъуэм дыкъригъэлу Тхьэм и бын дищIыну щыхуейкIэ, Ар хуейкъэ Тхьэмрэ дэрэ дызэримыгъэкIуалIэу дяку дэт лъэпощхьэпо  псори Iуихыну!

         Жорым аракъэ Абы щилэжьар! Иджы дэ Абы деж щыдгъуэтынущ ди къуаншагъэм и гъэгъуныгъэр. Хьисэ кIэраIулIам гуэныхьхэм я гъэгъуныгъэр къыдет! Ар къыгурыIуати, аращ Паул мыр  щIыжиIар: «Тхьэм дэ кIыфIыгъэм и тепщэгъуэр тщхьэщихри, Езым фIыуэ илъэгъуа и Къуэм и пащтыхъыгъуэм дыхишащ». Ди хьэл-щэным деплъмэ дэ шейтIаным и IэмыщIэ дилъщ. Ауэ Хьисэ, Тхьэм и Къуэм, ди къуаншагъэм и гъэгъуныгъэр къыдиткIэрэ, дэ дыкърегъэл.

         Тхьэм дэ зэман къыщIыдитар, си ныбжъэгъухэ, ХьисэкIэ щхьэхуитыныгъэр къеIытхын папщIэщ!

 

 

4. Дэ дэщхьу зэман зыхуримыкъу цIыхум теухуауэ 

          

Сэ иджыри сухакъым. Иджыпсту и гугъу фхуэсщIыну сыхуейщ дэ дэщхьу зэман зыхуримыкъуу щыта цIыху гуэрым. Абы и цIэм ХъыбарыфIым дыщрохьэлIэ. Ар цIыху щэджащэт: рим тепщэт. Абы и цIэр Феликст. ЦIэ дахэ дыдэщ. Феликс жиIэмэ, «НасыпыфIэ» къокI. Фыз иIэт абы ДрузилэкIэ еджэу, зы гъэри иIэт Паул и цIэу. Зэгуэр хъарзынэу зэман иIэти, моуэ жеIэ абы: 

-              А Паул къедвгъаджи, дыпкърывгъэупщIыхь. НакIуэт, фыз, си гъусэу! 

Арати, хеящIэ щекIуэкI пэшышхуэм макIуэри загъэбжьыжу йотIысэкI. Я ижьырабгъумкIи я сэмэгурабгъумкIи легионерхэр къыщытщ. Гъэрыр къыщIашэ. 

-              КъыджеIэт, Паул, сыт уIэпхлъэпхыу мыбы укъыщIыщыхутар? - йоупщI Феликс гъэрым. 

Паул дахэ дыдэу псэлъэн ирегъажьэ абдеж. Сэри сыхуейт апхуэдэу дахэу сыпсэлъэфыну. ЦIыхухэр нэхъ зыIэпишэ зэпытщ абы жиIэм. Езы Тхьэ псэур мы пэшым зэрыщIэтыр зыхащIащ абдеж псоми! Паул тепсэлъыхьырт хеящIэм хэлъын хуей захуагъэм. Феликс зыпхилыгъукIырт абы и псалъэхэм.

Абы игу къокIыж IулъхьэкIэ щыдашэхауэ щыта Iуэху мыфэмыцхэр.  МодэкIэ Паул гу къабзагъэм и гугъу ещI. Друзилэ шэнтым къехуэх хэтащ абдеж. «Сыт хуэдэ лъэпкъ уэ укъызыхэкIар, щIалэ?» - йогупсыс ар.

Паул жеIэ: 

-              Тхьэр хуейщ апхуэдэу! 

ТIури мафIэм хуэдэу къызэщIоплъэ. АдэкIэ Паул топсэлъыхь узыхэкIуэдэнкIэ хъуну Тхьэм и хеящIэм. Феликс къыщолъэтри, жеIэ:

-              Зэ умыпIащIэ, Паул! А уэ жыпIа псори хъарзынэщ. ИкIи мыхьэнэшхуэ яIэщ абыхэм. Зэман згъуэтмэ, сэ иджыри сынодэIуэнщ. Ауэ иджыпстукIэ сэ зэман сиIэкъым! 

ИкIи абы унафэ ещI гъэрыр щIашыжыну. ИужькIэ абы зэи зэман игъуэтыжакъым...

         Сэри мис сошынэ Тхьэм техуа пэжым, зышыIэныгъэм, Абы и хеящIэ къытпэщылъым я хъыбар дедэIуэну зэман дымыгъуэтмэ, а Феликс и махуэр къытхуэкIуэнкIэ. Тхьэр зэрыщыIэр щызыхэтщIэкIэ, дэ ди пIэм дизэгъэжыркъым, пэжкъэ? Апхуэдэм деж дэ кинотеатрым дыкIуэну дыщIопхъуэ е телевизорыр щIыдогъанэ. Гупсысэ дызыхуэмейхэр зыщхьэщыдогъэу абыкIэ. Аращи, псори зэрыщытауэ къонэж! 

ГъащIэм теухуауэ «Псори зэрыщытауэ къэнэжащ игъащIэкIэ!» жыпIэн хуейуэ къыпхуихуэмэ, ар  шынагъуэкъэ? Ауэ Тхьэм и Къуэр къакIуэри, жиIащ: 

-              Псори щIэуэ къыдогъэщI! БлэкIар яхудогъэгъу! Сэ си лIэныгъэмкIэ фэ фыкъэсщэхужри, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм хуэфэщэн фысщIащ! Сэ фэ Тхьэм и Псэ ЛъапIэр фызот, фэ цIыхущIэ фыхъун папщIэ! 

Ауэ дэ жыдоIэ: «Хьэуэ, хьэуэ!» - икIи псори игъащIэкIэ зэрыщытауэ къонэж. Чыристан щыIэхэщ, я чыристаныгъэр куэд щIауэ кIуэдыжауэ, ауэ езыхэм абы гу лъатэжакъыми, псори зэрыщытауэ къонэ.

Ей, си ныбжьэгъухэ, фэ апхуэдэу фыкъыщIимыдзакIэщэрэт. Сэ я нэхъыфIымкIэ сыфхуоупсэ фи Iуэхур псори зэрыщытауэ къэмынэжу ХьисэкIэ щIэ хъуну! 

 

5. Зэман зиIэм теухуауэ 

 

         Си псалъэм и кIэу, мыхьэнэшхуэ зиIэ гуэр вжесIэн хуейщ: шейтIаныр ди тепщэу щытыху, дэ псэхупIэ дгъуэтынукъым. Ауэ сэ Зы соцIыху, фэр папщIэ зэман иIэу: ар Хьисэщ, лIахэм къахэтэджыкIыжа КъегъэлакIуэрщ. ЦIыхухъухэр мэтхъэусыхэ: «Си фызым сэр щхьэкIэ зэман зэи иIэкъым», - жаIэри. Фызхэри тхьэусыхэу къыщIэкIынущ: «Си лIым сэр щхьэкIэ зэман зэи иIэкъым», - жаIэурэ. Адэ-анэхэри мэтхьэусыхэ: «Ди бынхэм дэр щхьэкIэ зэи зэман яIэкъым». Зэхэфхрэ? Зиусхьэным иIэщ зэман. Хьисэ зэман иIэщ дэр щхьэкIэ!

         Си дежкIэ ар иужьрей зэманым си акъыл здынэса Iуэхущ. Тхьэмахуэ кIуам Iуэху гуэрхэм сыхэхуат, иджыпсту сыхуейкъым абыхэм сакъытеувыIэну. Ауэ иныкъуэхэм деж ди лъэхъэнэм гугъуехь гуэрхэм ухешэ. Сэ апхуэдизкIэ ужьыгуа сыхъуати, си фызым жиIаращ: «Уэ гутехуэгъуей ухъуащ, ауэ уи Iуэху зыIутыр къызгуроIуэ!» Сэ сыкъэуцIыплъри, мэзым зыхэздзащ. А щIыпIэ даущыншэм сэ си КъегъэлакIуэм сыщепсэлъащ: «Хьисэ, дауэ щытми, Iуэхур зытет псор къыбгурызгъэIуэн хуейщ...» Псори хуэсIуэтащ Абы. Езыми зэман къигъуэтащ, псори гупсэхуу къезгъэкIуэкIыху къызэдэIуэн папщIэ. Гу лъыз-мытэжурэ сыхьэтитI блэлъэтащ. Сэ езым си ХъыбарыфIыр къызэIусхыжащ - абы ит дэтхэнэ зы псалъэри Тхьэм сэ къызит жэуапт. ГуфIэгъуэр зесхьэу унэм сыкъекIуэлIэжащ! Сэ зыгуэр къызгурыIуащ: Хьисэ сэр щхъэкIэ зэман иIэщ!  

         ХъыбарыфIым зы хъыбар телъыджэ итщ. Нэф гуэр гъуэгубгъум Iусу факъырэIус къыхех. Абы зы пхъэ бжэмышхышхуэ иIыгъщ. Зыгуэр щыблэкIкIэ, абы бжэмышхыр ешийри жеIэ: 

-              ФакъырэIус къызэт!

Ауэ, мис, цIыху гупышхуэ блокI. Нэфыр йогупсыс: 

-              Сыт мыр?! Дзэ пакIэ е нэгъуэщI? 

ИкIэм-икIэжым ар щIоупщIэ: 

-              Къэхъуар сыт? 

Абы макъ утIыпщакIэ жэуап кърат: 

-              Хьисэ блокI. 

Ар щызэхихым, нэфым и гур къинэхукIащ. Хьисэ и хъыбар зэхихакIэт абы. Нэфым и фIэщ мэхъу Хьисэ Тхьэм и Къуэу зэрыщытыр. Арати, абы кIийуэ щIедзэ: 

-              Хьисэ, Тхьэм и Къуэ, къыздэIэпыкъу! Хьисэ, Тхьэм и Къуэ, гущIэгъу къысхуэщI! 

ЦIыхухэр абы зэгуигъэпу щIедзэри, къыжраIэ:  

-              Мыпхуэдизу умыкIий, Хьисэ жиIэр зэхэдбгъэхыркъым.

Ауэ нэфыр мыувыIэу мэкIий: 

-              Хьисэ, Тхьэм и Къуэ, гущIэгъу къысхуэщI. 

ЦIыхухэр къыхуогубжьри къыжьэхолъэ: 

-              УвыIэ, армырмэ къыптехуэнщ! 

Ауэ нэфым щIичэркъым: 

-              Хьисэ, Тхьэм и Къуэ, гущIэгъу къысхуэщI! 

Абы сэ зыкъысхуигъэзауэ щытамэ, жесIэнурат: 

-              КъэдаIуэт мыдэ, къыбгурыIуэн хуейкъэ Хьисэ Голгофэм зэрыкIуэр. Ар хуейщ цIыху псоми я гуэныхьым папщIэ лIэну. Дунейр езым и гуэныхьхэм токIуэдэж. Хьисэ хуейщ ар зэригъэзэхуэжыну икIи гуэныхь псори Езым игъэву Тхьэм дригъэкIужыну. Ар лIахэм къахэтэджэкIыжынущ итIанэ, ажалым елъэпэуэнущ. Ахэр къалэн иныщэщ! Щхьэ ухэIэбэну ухэт уэ абыхэм? 

Ауэ нэфыр и макъ къызэрихькIэ мэгуо: 

-              Хьисэ, Тхьэм и Къуэ, гущIэгъу къысхуэщI! 

АдэкIэ къокIуэ ХъыбарыфIым ит псалъэхэм я нэхъ дахащэхэм ящыщ зыр: 

-              Хьисэ къэувыIащ. 

-              Зиусхьэн Хьисэ, - сыхуейщ сэ жысIэну, - сэ зэIущIэ пIэщIэгъуэ гуэр сиIэмэ, зыми хуэздэнукъым сигъэгувэу! 

Библием итыращ: 

-              Хьисэ къэувыIэри, ар къыбгъадэшэну унафэ ищIащ. 

Дуней псом я Iуэху къезыхуэкI Хьисэ зэман къегъуэт факъырэ нэфым щхьэкIэ! Мис апхуэдизу пщIэшхуэ хуещI Абы цIыхум! 

         Фэри апхуэдэ пщIэшхуэ къыфхуещI Абы! НэгъуэщI зыгуэр тет мы дуней псом, апхуэдэу пщIэ къыфхуищIу? ИтIани фэ езым Абы папщIэ зэман фымыгъуэту ара? ШейтIаным хуабжьу фызэщхьэщихуагъэнущ фэ!

                          Зэгуэр сэ зэхэсхащ хъыбар ткIыбжь: кхъухьыр псым щIилъафэрт.

Стюардым каютэхэр къызэхижыхъурэ, мэкIий: 

-              Псори палубэм фытехьэ! Кхъухьыр щIелъафэ! 

ПщэфIапIэм щыблэжкIэ, абы адакъэ сурэту щIа бранычхэр игъажьэу щIэт пщафIэм къыжреIэ: 

-              Япэ щIыкIэ си лэжьыгъэр зэфIэзгъэкIын хуейщ! 

Арати, и адакъэхэри и гъусэу псым щIилъэфащ ар.

                          Ди нобэрей цIыхури абы ещхь къысфIощI:

-              Хьиси? Мыхьэнэ иIэкъым! СфIэгъэщIэгъуэнкъым! Зэман сиIэкъым! 

Дунейр, Хьисэ къимыщтэу, жыхьэнмэм мэпIащIэ! 

Сэ си гугъэщ псом нэхърэ нэхъыщхьэр япэ игъэщын хуейуэ. Тхьэм дыкъригъэлмэ, псом нэхърэ нэхъыщхьэр а КъегъэлакIуэм дыкъригъэлыну хуит тщIыныращ!

 

 

ФЫМЫБЭЛЭРЫГЪ! ГЪАЩIЭМ ДЕЖКIЭ ШЫНАГЪУЭЩ!

 

         ПсынщIагъышхуэкIэ автострадэм сытету фи деж сыкъэса къудейщ. Гъуэгу сыздытетым сызэгупсысыр къыжысIэнурат, ауэ си гум къызжиIэ зэпытт: «Умыбэлэрыгъ! Уи гъащIэм дежкIэ шынагъуэщ!» СызэхэфщIыкIрэ, мы ди лъэхъэнэм цIыхухэр, хабзэ зэрыхъуащи, гъащIэшхуэ къагъащIэу я ажалкIэ лIэжыркъым. Нобэ нэхъыбэр насыпыншагъэ гуэрым хокIуадэ е инфарктым йолIыкI. Нэхъапэм цIыхухэр илъэс бгъущIхэм нэсырти, я жьыгъэкIэ лIэжырт. Иджы абы зихъуэжащ. Ди зэманым хым щхьэщыту кхъухьлъатэр къохуэхри - цIыху 80 хокIуадэ. Автобусыр гъуэгум щхьэдожэхри - ажал 60. Фабрикэм зыгуэр къыщоуэри - аргуэру хокIуадэ. Рур щIыпIэм щыIэ къыщIэхыпIэхэм цIыху зэпымыууэ щыхокIуадэ. ИлъэсипщI зыбжанэ дэкIыху зауэшхуэхэр къохъей. Зы зауэм мелуанитI хокIуадэ, къыкIэлъыкIуэм - цIыху мелуанитху. Лъэбакъуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу шынагъуэ гуэр къыщытпоплъэ!

         Абы сыщегупсыскIэ, сэ куэдрэ сигу  къокI: «Мыр сыт гъащIэ - мамыру улIэну ухуимытыжу». Иджы фи нэгу къыщIэвгъэхьэт: нобэ сыхьэти 10-м  фэ насыпыншагъэ гуэр къыфщощI. Ар къэхъуным зыри хэлъкъым. Дэнэ-тIэ фэ абы щыгъуэ сыхьэт 11-м фыздэщыIэнур? Сыт абы щыгъуэ фэ къыфщыщIынур? Фегупсысауэ пIэрэ фэ абы зэгуэр?

 

 

1. Мыр Iуэху джэгукъым

 

Мы фхуэсIуэтэнур сэ къызэпхакъым, си адэшхуэм жиIэжу зэхэсхауэ аращ. Ар хъыбарIуатэ гъуэзэджэт. НыбжьыщIэ гуэр зи ныбжь хэкIуэта и адэ къуэшым деж макIуэри жреIэ: 

-              Си адэ къуэш, къызэхъуэхъу! ЕджапIэр къызэрызух экзаменхэр стащ! 

-              Гъуэзэджэщ, - жиIащ адэ къуэшым, - мис мы  маркэ 20-р абы  папщIэ тыгъэ пхузощI, зыгуэр кърищэху. ИтIанэ къызжеIэт, адэкIэ сыт пщIэну уи мурад? 

-              АдэкIи, - жеIэ щIалэщIэм, - адэкIи седжэнущ, юрист сыхъуну сыхуейщ. 

-              Хъарзынэщ, - жиIащ адэ къуэшым, - адэкIэ-щэ?  - АдэкIэ япэ инстанц хьэкумыщIэ сыхъунущ. 

-              Ари хъарзынэщ, - жи адэ къуэшым, - итIанэ-щэ?

-              ИтIанэ щIыналъэ хьэкумыщIэ сыхъунщ.

-              ФIыщ, - жиIащ адэ къуэшым, - адэкIэ-щэ?

-              АдэкIэ, си адэ къуэш, фыз къэсшэнущ, унагъуэ сухуэнщ. 

-              Ари содэ, - жи адэ къуэшым, - итIанэ сыт? 

-              АдэкIэ, къызэхъулIэмэ, цIыхушхуэ сыхъунщ, щIыналъэ хьэкумыщIэм и тхьэмадэ е япэ прокурор. 

-              Хъарзынэщ, - жиIащ адэкъуэшым, - адэкIэ-щэ?

-              АдэкIэ, си адэ къуэш, - щIалэщIэм псалъэмакъыр къыIэщIэужагъуэ хъуат, - зэгуэр жьыи сыхъунщи, пенсэм сыкIуэнщ. 

-              Хъарзынэщ, - жиIащ адэкъуэшым,- итIанэ-щэ? 

-              ИтIанэ нэхъ щIыпIэ дахэ сыIэпхъуэнщ, абы унэ цIыкIу щызухуэнщи, мэракIуэ щызгъэкIыу щIэздзэнщ.

-              Ари хъарзынэщ, - жи адэ къуэшым, - адэкIэ сыт?

 ЩIалэщIэр дыхьэшхащ: 

-              АдэкIэ зэгуэр сылIэнщ. 

-              АдэкIэ-щэ? - жи итIани адэ къуэшым. ШIалэщIэм дыхьэшхыныр пичащ. Ар илIыкIыным хуэдэу къэшынат: 

-              ИтIанэ сэ сылIэнущ, адэкIэ-щэ?  

-              АдэкIэ-щэ? - щIэупщIащ адэ къуэшыр. 

-              Си адэ къуэш, - итыжащ жэуап ныбжьыщIэм, - адэкIэ къэхъунум сэ зэи сегупсысакъым. 

-              Ар дауэ, - жиIащ адэ къуэшым, - уэ еджапIэр къызэрыбух экзамен пта пэтрэ абы фIэкIа уи акъыл нэмысауэ ара? Тхьэм гупсысэ зрита цIыхур нэхъыбэIуэ егупсысын хуейкъэ: «АдэкIэ къэхъунур сыт?» - жиIэу. ЩIалэщIэм ар имыдэу занщIэу къилъащ: 

-              Си адэ къуэш, улIа нэужь, къэхъунур зыщIэ зыри щыIэкъым!

-              Ар пэжкъым, си щIалэ цIыкIу, щыIэщ Зыгуэр, лIэныгъэм иужькIэ къэхъунур ищIэу, ар Хьисэщ. Абы жиIащ: «КIуэдыныгъэм  ухуэзышэ гъуэгур бгъуфIэщ,  мыкIуэдыжын гъащIэм узышэ гъуэгур бгъузэщ. ЛIэныгъэм и ужькIэ Тхьэм и хьэкумыр щыIэнущ. Абдеж е ущыхэкIуэдэнущ е укъыщелынущ».

         ВжесIэн хуейщ улIэу ущIалъхьэжыху, уи гъащIэр къызэрекIуэкIыну план бухуэкIэ зэрызэфIэмыкIыр. ЩiэупщIапхъэщ: сыт адэкIэ къэхъунур? 

ЩIалэгъуалэрат сызидин пашэри, сэ щIалэщIэхэм щIэх-щIэхыурэ къагурызгъаIуэрт: 

-              Си вакъитIыр дыжын хуеймэ, сэ машинэщIыжым деж сыкIуэркъым.

МаршынэщIыжхэр цIыху хъарзынэщ, ауэ вакъэм абыхэм хащIыкI щыIэкъым. Вакъэр сэ зыхуэсхьынур шырыкъущIэрщ! Ауэ си машинэр къутэмэ, сэ сыздэкIуэр шырыкъущIэм дежкъым - машинэщIыжым дежщ. ЩIакхъуэ сыхуеймэ, сэ лы зыщэм дежкъым сыздэкIуэр. Ар цIыху гъуэзэджэщ, ауэ щIакхъуэ хуэгъажьэркъым. ЩIакхъуэгъажьэм дежщ щIакхъуэфI щыбгъуэтынур. Си унэм псы къызэрыкIуэ бжьамийр зэгуэтхъамэ, сэ зызыхуэзгъазэр гъущIыкIэхэм елэжьырщ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, сэ дапщэщи IэщIагъэлIырщ сызэкIуалIэр. Ауэ лIэныгъэм и ужькIэ къэхъунур къэтщIэнумэ, япэ къытхуэзэм доупщI е езым ди акъылкIэ абы и жэуап къэдгъуэтыфыну дыщогугъ. АтIэ а упщIэ гугъумкIи - лIэныгъэм и ужькIэ щыIэр сыт жыхуиIэмкIи IэщIагъэлIым зыхуэдгъэзапхъэкъэ? Зи гугъу сщIыр Тхьэм и Къуэрщ, нэгъуэщI дуней къикIыу къытхуэкIуарщ икIи лIэныгъэм и пащтыхьыгъуэм щыIарщ. Ар жорым кIэрылIыхьри, итIанэ лIахэм къахэтэджыкIыжащ. Абы езым и Iуэхур ещIэж. ИкIи Абы жиIащ: 

-              Уэ жыхьэнмэм укIуэфынущ! Ауэ уафэми удэкIуеифынущ! ИкIи нобэ профессор 25-м лIэныгъэм деж псори щиухыу си фIэщ ящIыну иужь ихьэми, итIани жысIэнущ: 

-              Сэ пщIэшхуэ хузощI фэ фи щIэныгъэ куум, ауэ фэ мы IуэхумкIэ фыIэщIагъэлIкъым. Фэ иджыри уафэм фыщыIакъым. Ауэ сэ Зы соцIыху, абы щыIауэ: ар Хьисэщ. Ар а Iуэхум зэрытепсэлъыхьыр нэгъуэщIущ».       ЦIыхухэр нобэ бэлэрыгъауэ мэпсэу, лIэмэ, псори зэфIэкIа хуэдэ, е зрагъэумэхъмэ, дин пашэм щIилъхьэжамэ, занщIэу уафэм дэкIуеижын хуэдэщ. Зэгуэр жыхьэнмэ мафIэм пэрызу пэрылъынущ зезыгъэумэхауэ, дин пашэм щIилъхьэжа цIыхухэр! КъывгурыIуэу пIэрэ фи гъащIэм дежкIэ шынагъуэ щытыкIэ фызэрыхэтыр? Дэ псори гувами щIэхами Тхьэм и хьэкум пащхьэм дыкъихутэнущ.

         Сэ къехьэкI-нехьэкI хэмылъу зыфхуэзумысыжын хуейщ нобэ мыбдеж сыщIыщытым и щхьэусыгъуэр а гупсысэр  зэрыарымкIэ. СыщыщIалэм сэ зэи си гугъакъым зэгуэр кафедрэм сыбгъэдэтын хуейуэ къысхуихуэну. Япэ дунейпсо зауэм щыгъуэ сэ сыофицер щIалэщIэт. Ди дзэм хэщIыныгъэшхуэ игъуэтат. Сэри адрей офицерхэм сарещхьт: икIи сынэхъыфIтэкъым, икIи сынэхъыкIэтэкъым. Ауэ «Зэгуэр члисэм дин пашэу ущIэтынущ» жиIэу зыгуэрым къызжиIамэ, сэ ину сыдыхьэшхынт. Зызумысыжынщи, сэ Тхьэм сыпэжыжьэт. Си адэр зэгуэр къызэупщIат: 

-              Тхьэр уи фIэщ хъуркъэ?» - жиIэри. 

Сэ абы жэуапу естыжыгъащ: 

-              Апхуэдэу сыакъылыншэкъым сэ, Тхьэр сымыдэн хуэдэу. Атеизмэр делагъэщ, ауэ сэ Тхьэм сыхуэзакъым, абы къыхэкIкIи Ар сэ сфIэгъэщIэгъуэнкъым. 

А псалъэмакъым и ужькIэ куэд дэмыкIауэ, сэрэ си ныбжьэгъу лейтенантымрэ Францием щебгъэрыкIуа зэманым Верден и гъунэгъуу щIытIым дыдэст. ЕбгъэрыкIуэныгъэмкIэ унафэм дежьэрт икIи анекдот цIапIэхэр зэхуэтIуатэрт. Сэ си анекдотыр щызухым, си ныбжьэгъур дыхьэшхакъым. 

-              Сыт ущIэмыдыхьэшхыр? - сеупщIащ абы. Абдеж ар мэджалэ, икIи солъагъу ар зэрыхьэдэр. Лагъымым и зы къутахуэ цIыкIу абы и гум техуат. Япэ щIыкIэ къэхъуар къысфIэIуэхущакым, си ныбжьэгъум и хьэдэм сыбгъэдэту согупсыс: 

-              УепIэщIэкIащ уэ, фIыуэ слъагъу си ныбжьэгъу, си анекдотыр и кIэм нызомыгъэгъэсу усIэщIэкIащ! 

Ауэ а дакъикъэм зы упщIэ си щхьэм къищхьэрыуащ: «Дэнэ иджы мыр здэщыIэр?» Иджыпстуи сэр-сэру зызолъагъуж щIытIым сыщыдэта а дакъикъэм атом къэуам и нурым нэхърэ нэхъ нэху гуэр си щхьэм зэрыхыхьауэ щытар: «Иджыпсту ар Тхьэ лъапIэм и пащхьэ итщ!» АдэкIэ си щхьэр здынэсар мыращ: «Дэ тIур нэгъуэщIу дыщысамэ, сэ абы и пIэм сисамэ, итIанэ сэ ситынут Тхьэм и пащхьэ!» КъызэрыгуэкI гуэркъым зи пащхьэ ситынур: зи унафэ къытхуезыгъэх, зи хабзэхэм сэ себакъуэ Тхьэрщ. Фэ псоми апхуэдабзэу фокъутэ а хабзэхэр, абыхэм фобакъуэ! ЩыIэщ цIыху, я гуэныхьхэр уафэм щIэуэ пэтрэ, итIани мыпхуэдэу жаIэу: «Сэ тэмэму сопсэу икIи зыми сыщышынэркъым!» Сыту пцIышхуэ ар! Сэ а дакъикъэ зи гугъу сщIыжам сщIэрт мыр: сэ Тхьэм и хабзэ псоми себэкъуащ. ИкIи иджыпсту сэ шэ къыстехуэмэ, сэри Тхьэм и пащхьэ сыкъихутэнущ! Сэ къызгурыIуащ абы щыгъуэ жыхьэнмэм сызэрыхэхуэнур. Абдеж щIалэхэр къэсащ шыхэр яIыгъыу: «Фынежьэ!» Сэ шым зездзащ. Си ныбжьэгъум и хьэдэр щIытIым къыдэнащ. ИкIи апхуэдиз илъэсым я ужькIэ сэ япэ дыдэу Тхьэм селъэIуну си Iэгухэр зэгуэслъхьащ: «Си Тхьэ, жыхьэнмэм сызэрыпэрымыхуэнумкIэ сигурэ си щхьэрэ зэтелъ мыхъуауэ сыхыумыгъэкIуадэ!» Нэхъ иужькIэ сэ зэуэлI дин пашэм деж сыкIуэри, сеупщIащ: 

-              Зиусхьэн дин пашэ, жыхьэнмэм сыхэмыхуэн папщIэ, сыт сщIэн хуейр? 

Абы жэуапу къызитащ: 

-              Зиусхьэн лейтенант, псом япэрауэ дэ дытекIуапхъэщ, дытекIуапхъэщ!  

-              Уэ езыми хэпщIыкIыркъым абы зыри! - жесIащ сэ абы. УкъигъэуIэбжьыркъэ абы, щIалэщIэ минхэр ажалым щыхэкIуадэкIэ, укъызэрелыну щIыкIэр зыми къазэрыжримыIэфым? Ар къыщыхъури чыристанэм я дежщ! Сэ си гур кIуэдауэ сыпсэунт, ХъыбарыфIыр зэгуэр къыспэщIэмыхуэгъатэмэ. Иджыпстуи слъагъу хуэдэщ абы щыгъуэ сэ сызыщIэса француз мэкъумэщыщIэ унэр. «ХъыбарыфI! Мыбы иту къыщIэкIынщ укъызэрелыну щIыкIэр!» - сегупсысащ сэ. Мы тхылъыр си щыпэлъагъути, абы и напэкIуэцIхэр ауэ сытми къызэзгъэдзэ-кIырт. Си нэр зы псэлъэуха закъуэм техуащ: «Хьисэ Мэссихь дунейм къэкIуащ, гуэныхьщIакIуэхэр мыкIуэду къригъэлын папщIэ». Щыблэ къызэуа хуэдэт абдеж. «ГуэныхьщIакIуэр» - ар сэращ, ар зыми къызгуримыгъаIуэми, сэ сщIэжырт. Фэри фыхуэмыейуэ пIэрэ, икIэм-икIэжым, Тхьэми цIыхухэми я пащхьэ апхуэдэу зыщывумысыжыну: «ГуэныхьщIакIуэр - ар сэращ!» Къэвгъанэ а фи щхьэр зэрывухеижыну зиужь фит пцIыхэр! А дакъикъэм сэ зы дин паши сыхуэныкъуэртэкъым. «Сэ сыгуэныхьщIакIуэщ» - ар гурыIуэгъуэт си дежкIэ. ИтIани сыхуейт сыкъелыну! Ауэ тэмэм дыдэу сщIэртэкъым абы къикIыр. Сэ зы къызгурыIуат: къегъэла сыщыхъунур иджыпсту сызэрыт щытыкIэм сыкъикIыу Тхьэм секIужмэщ. «Хьисэ Мэссихь дунейм къэкIуащ, гуэныхьщIакIуэхэр къригъэлын папщIэ».

Хьисэ ар щыхузэфIэкIынукIэ, сэ Хьисэ  къэзгъуэтыпхъэщ! Тхьэмахуэ зыбжанэ дэкIащ. Сэ иужь ситт Хьисэ сэзгъэлъагъуфын гуэр къэзгъуэтыну. Абы щыгъуэ злэжьар фэри флэжьыну чэнджэщ фызот. Дэ аргуэру дебгъэрыкIуэрт. Сэ француз мыхъумыщIэ унэ кхъахэ гуэр сыщIыхъащ. Абы и щIылъэныкъуэр къыгуэуат, мыдрей къэнар нэщIт. Зы пэш закъуэ псэууэ къызэтенат. Абы и бжэм IункIыбзэIухыр илът. Сэ абы сыщIыхьэри, бжэр къэзгъэбыдэжащ, лъэгуажьэмыщхьэ зизгъауэри сыкъыхэкIиикIащ: 

-              Хьисэ! Библием итщ Уэ гуэныхьщIакIуэхэр къебгъэлыну Тхьэм и деж укъикIауэ. Сэри сыгуэныхьщIакIуэщ. ДяпэкIи нэхъыфI сыхъуну зыкIи Уэ узгъэгугъэркъым, сыту жыпIэмэ хьэл мыхъумыщIэщ си хьэлыр. Ауэ шэ къыстехуа нэужь, жыхьэнмэм сыхэхуэну сыхуейкъым. Абы къыхэкIкIэ, Хьисэ, сэ Уэ уи IэмыщIэ зынызолъхьэ сызэрыщыту - си щхьэфэм къыщыщIэдзауэ си лъэгум нэсу. Уэ узыфIэфIыр къызэщIэ! 

Абдеж бэлыхьлажьэу зыри къэхъуакъым, ауэ сэ иджыпстуи сызыIэщIэлъ Зиусхьэныр къэзгъуэтащ.

         Абы щыгъуэ сызэрыхъур илъэс 18-т, икIи зы махуэм нэхърэ къыкIэлъыкIуэм нэхъ нэIурыт сщыхъу зэпытт цIыхухэр я гъащIэм дежкIэ шынагъуэшхуэ зыхэтыр. Я гуэныхьхэр къахуэмыгъуауэ мэпсэу! Фи гуэныхьхэр къыфхуэгъуарэ къыфхуэмыгъуарэ фыщыгъуазэу пIэрэ фэ? Сыт хуэдэ щIыкIэкIэ фэ Тхьэм и хьэкум пащхьэм фихьэну фызэрыхуейр?! ЦIыхухэр Тхьэм емыкIужауэ мэпсэу. Захъуэжыну хуейкъым, я теплъэкIэ чыристанафэ тIэкIу ятетщ, ауэ я кIуэцIым илъыр емыкIужа, щIэрыщIэу къамылъхужа гу теплъэншэ тхьэмыщкIэщ! Зэхэфхрэ? Тхьэр хуейкъым дэ жыхьэнмэм дунэтIыну! Тхьэр хуейкъым абы!  Тхьэр хуейщ цIыху псори къелыну икIи пэжыр къащIэну. Аращ Езым и Къуэр къыщIигъэкIуар. Ауэ, си ныбжьэгъухэ, абы щыгъуэ дэ Хьисэ деж дыкIуапхъэщ. Абы щыгъуэ дэ Абы дыIэщIэлъыпхъэщ. Ауэ Тхьэмрэ КъегъэлакIуэ Хьисэрэ Германиемрэ адрей щIыпIэхэмрэ щыпсэу чыристанхэр зэрыбгъэдыхьэм хуэдэу убгъэдыхьэ хъунукъым. ЗыгурывгъаIуэ дэ ди гъащIэм дежкIэ шынагъуэшхуэ дызэрыхэтыр, сыту жыпхэмэ Тхьэм и хьэкумым дыхуокIуэри.

         Сэ сыущий щIалэгъуалэм зы щIалэ ахъырзэман яхэтт. Япэ щIыкIэ абы, зыри димыгъэхуу, Тхьэм и псалъэхэм  дыщеджэ сыхьэтхэм къекIуалIэу щытащ. Ар Гитлер рейхым и лъэхъэнэрт. ИтIанэ ар кIуэн хуей хъуащ националсоциа-лист еджакIуэ курсым икIи абы гъуэгу пхэнжым тришащ.

Абы афIэкIа сыхуэзэ-жыртэкъым. Ауэ зэгуэр, дауэ хъуами, абы сыIууащ. 

-              Уи махуэ фIыуэ, Гюнтер! - жысIащ сэ. 

-              Хайл Гитлер! - къызитыжащ жэуап. 

-              Гюнтер, уи Iуэхухэр дауэ щыт? Куэд лъандэрэ услъэгъуакъым! - сеупщIащ сэ абы. 

Абы захуэу зишэщIри къызгуригъэIуащ: 

-              Сэ си девизыр: сэ сызахуэщ икIи зыми сыщышынэркъым! ИкIи си гъащIэм мыпэж гуэр хэтмэ, Тхьэри щыIэу щытмэ, сэ цIыху пэжу сыщыткIэрэ Тхьэм и пащхьэ абыкIэ жэуап щысхьынщ. Ауэ сэ сыхуейкъым сэр папщIэ лIэн - Хьисэ! 

Сэ акъылкIэ зыхызощIэ, мы щIалэщIэм нэмыщI, апхуэдэ дыдэу егупсысу  цIыху мелуанхэр зэрыщыIэр: сэ гуэныхьи злэжьакъым, мыхъумыщIагъи схэлъкъым, си гъащIэм теухуауи Тхьэм и пащхьэ жэуап щысхьыфынущ! 

         ФIыуэ слъагъу си ныбжьэгъухэ, сэ сыхуейкъым си щыпкъагъэр тегъэщIапIэ сщIыну. Уеблэмэ сощIэ ар тегъэщIапIэ щысщIым деж си гъащIэр шынагъуэ егъэлеям зэрыхэхуэр. Шэч къытевмыхьэ дэ псори Тхьэм и хьэкум пащхьэм дыкъызэрихутэнум! Ар фигу изгъэлъыну сыхуейт. ЦIыхухэр апхуэдэу Тхьэм и хьэкумым къафIэмыIуэхуу зэрыхуэкIуэм сыщегупсыскIэ, си пIэм сизэгъэжыркъым!

         СурэтыщI икIи скульптор Эрнст Барлах сурэт телъыджэхэр ищIащ. Ауэ абы театрым папщIэ итхауэ пьеси иIэщ: «Болл чэф». Болл чэфыр - ар дапщэщи нэжэгужэ къуажэ унафэщIщ. Зэгуэр шэджагъум ар фIыуэ ешхэщефэри, махуэ хуабэм къалэ цIыкIум и бэзэр утым кIуащ. Ар члисэ гупэм къыщоувыIэ. А члисэ щIыхьэпIэм къыхэIущIыкIат накъырэ зыгъаджэ мелыIычиплI. МелыIыч сурэтхэр щызэпиплъыхькIэ, абы къыфIощI ахэр псэууэ, Тхьэм и хьэкумым и хъыбар накъырэкIэ дагъащIэу: 

-              Иджыпсту цIыхуу дунейм тетыр Тхьэм и хьэкум пащхьэ ихьэнущ! 

Барлах етх: 

-              ЛIахэр псори бэнхэм фыкъыдэкI! Фыным къегъэлыныгъэ хэлъкъым! ФыкъыдэкI! 

Болл чэфым и щхьэм къохьэ мыбдеж: 

-              Тхьэм фIэкIыпIэ имыIэу сыхуэзэнущ. Мы си фаджагъ псомкIэ Абы и пащхьэ зэгуэр сихутэнущ!

         Дэ псоми дощIэ «Сэ сызахуэщ икIи зыми сыщышынэркъым» жытIэкIэ, жыжьэ дызэрынэмысынур. «Хьисэ и пащхьэ узэрыкъуаншэм ущыхущIемыгъуэжмэ, жыхьэнмэм укIуэнущ», щыжысIэкIэ, дыхьэшхыурэ жэуап къызатыж сэ: «Жыхьэнмэр - ар курыт лIэщIыгъуэхэм я фIэщ хъууэ щыта гуэрщ. Апхуэдэ щыIэкъым». Ар щызэхэсхкIэ, зы хъыбар гуэр сигу къокIыжри, ар ныфхуэсIуэтэн хуейуэ къысфIощI.

         Мыр къыщыхъуар зауэм щыгъуэщ. Зыгуэрым деж себлэгъэну сежьат. Гъуэгу сыздытетым, бий кхъухьлъатэхэр къытщхьэщыхьащ. Сэ нэхъ гъунэгъуу щыIэ бомбэ зыщыхъумапIэмкIэ сыщIэпхъуащ, кхъухълъатэхэр щхьэщыкIыху, абы зыщысIэжьэну. Къуажэ сыздэкIуэнумкIэ си гъуэгум пысщащ итIанэ. А къуажэр нобэр къыздэсми щыIэщ. Ауэ а зэманым къуажэм дэт унэ 20-ри цIыхухэм ябгынат. СигукIэ сегупсысащ: «Мыр къыпфIэщIу  аращ - унэхэр псори щытщ, ауэ цIыху зыри щыIэкъым!» Абдеж бомбэ зыщыхъумапIэм и хъумакIуэр къысIущIати, абы сеупщIащ: 

-              Сыт цIыхухэм псоми мы щIыпIэр щIабгынар?

Зыри жимыIэу, абы си Iэблэр еубыд, унэхэм ящыщ зым сыщIешэри, щхьэгъубжэм сыбгъэдешэ. Сэ солъагъу: унэхэр псори утышхуэм ихъуреягъкIэ къекIуэкIыу  зэхэтщ, а утым мафIэгум и хьэкум хуэдиз хъуну бомбэ абрагъуэ илъщ. 

-Къэмыуауэ аращ!- жызоIэ сэ.

-              Хьэуэ, - идакъым хъумакIуэм, - бомбэр занщIэу къэмыуэхэм хуэдэщ!. 

А бомбэхэм нэхъ угъурсыз бгъуэтынтэкъым. Ахэр къыщыуэр щIым щытехуэм дежтэкъым, атIэ сыхьэти 5, уеблэмэ сыхьэт 20 дэкIа нэужьт.    ЦIыхухэр псори бомбэ зыщыхъумапIэм къыщIэкIыжа нэужь, къэуэн щIадзэрт. 

-              Мыбдеж щыпсэуа псори щIэпхъуэжащ, зэхэпхрэ тIыркъэ-сыркъэ макъыр? 

Пэж дыдэу, бомбэр къэзыгъауэ сыхьэт механизмэм и макъыр зэхэпхырт. Бомбэр иджыпстуи къэуэнкIэ хъунут. 

-              НакIуэ, - селъэIуащ сэ хъумакIуэм, - мыбдеж  ущытыныр шынагъуэншэкъым! 

Дэ нэхъ жыжьэу дыIукIри, къуэгъэнапIэ дыкъуэуващ, бомбэр къауэ хъужыкъуэмэ, жытIэри. Абдеж слъэгъуар дыхьэшхэнщ: бзу Iэрамэ къэлъатэри, къафIэмыIуэхуу, бомбэм тетIысхьащ. Абыхэм ящыщ зы уеблэмэ къезыгъауэ Iыхьэм тесIысхьащ. Сэ сыкIиящ:

-              Бзухэ, абдеж шынагъуэщ!

ИкIи сэ къысфIэщIащ абыхэм жэуап къызатыж хуэдэу: 

-              Хьа-хьа-хьа! Дэ абы дыщыгъуазэщ! Ауэ хэт нобэ бомбэхэр зи фIэщ хъур?! Шынагъуэ лъэпкъ хэлъкъым!

         КъывгурыIуэркъэ? Иджырей цIыхухэри я гупсысэкIэкIэ а бзухэм изогъэщхь. Тхьэр, джэгу хэмылъу, къыдэпсэлъакIэщ езым и ПсалъэмкIэ, и хьэкумхэмкIэ. Тхьэм и Къуэри къэкIуакIэщ, жорым дэкIуейри лIахэм къахэтэджыкIыжащ. ИкIи дэтхэнэ зыми къызыгуригъэIуэфынущ: Тхьэр щыIэщ, икIи Ар Тхьэ лъапIэщ! Зыгуэр къакIуэрэ «ди гъащIэм дежкIэ шынагъуэ щыIэщ, фи псэр къевгъэлын хуейщ!» къажриIэмэ, цIыхухэр мэдыхьэшхри, жаIэ: 

-              Хьа-Хьа-Хьа! Хэт апхуэдэхэр иджыри къэс зи фIэщ хъур!

         Плъагъуркъэ, Библиеми щIэнэкIалъэр хузэфIэкIынущ. Атеизмэм, нэгъуэщIу жыпIэмэ, Тхьэр мыдэным, абы зэ закъуэщ и гугъу щищIыр, ари зы псалъэухакIэ: «ЖиIащ акъылыншэм игукIэ: «Тхьэр щыIэкъым». Мис аращ, нэгъуэщIкъым, атеизмэм теухуауэ Библием жиIэр.

 

 

2. ГъащIэр къегъэлыныр

 

         Тхьэм щIыр хьэкум шынагъуэм иритакIэщ зэгуэр. Абы щыгъуэ зы цIыхущ къелар, и унагъуэр щIыгъуу. Абы Нухьт зэреджэр. Тхьэм, тезырыр зэщIа хъун и пэ, абы унафэ къыхуищIащ кхъухь иухуэну. Псыдзэм и хъыбарым фыщыгъуазэ? Фыщымыгъуазэмэ, фызэрыщымыгъуазэр зыми къызэревмыгъэщIэным фыхэт, сыту жыпIэмэ дуней псор зыхьа псыдзэм и хъыбар умыщIэныр емыкIущ! Арати, тезырыр зэщIа хъуным и пэ Тхьэм Нухь унафэ къыхуещI: «Уэри уи унагъуэри кхъухъым фитIысхьэ!» Нухь кхъухьым итIысхьэри, Тхьэм бжэр абы кIэлъигъэбыдэжащ.

         Гу лъыфтэт: дунейр Тхьэм и тезыр захуэм пэгъунэгъу мэхъу. Ауэ  къезыгъэлыну кхъухь щыIэщ - ар ХьисэкIэ дэ къытхуаший гущIэгъурщ. Ар Тхьэм и дунейм къикIри мы ди дуней хьэхум къэкIуащ. Ар дэ щхьэкIэ жорым кIэрылIыхьащ! ФыкъэдаIуэт, псо дыдэр ди дежкIэ мыгурыIуэгъуэми, мыр къывгурыIуэнщ: Тхьэм Езым и Къуэр апхуэдэ ажал IейкIэ жорым кIэрылIыхьыну хуит щищIкIэ, абыкIэ я нэхъ гуэныхьщIакIуэ инри къезыгъэл къыхуэгъуныгъэ диIэ мэхъу! Ар лIахэм къахэтэджыкIыжащ. Ар Тхьэм и Псэ ЛъапIэмкIэ къыдоджэ. Хьисэ дыкъезыгъэл кхъухьщ! ИкIи, мис, абы щыгъуэ Тхьэм Нухь къызэрыжриIэм хуэдэу: «Уэри уи унагъуэри кхъухьым фитIысхьэ!» - Ари сэркIэ фэ къыволъэIу: «Хьисэ Мэссихь и гущIэгъур къеIых! Тхьэм и дунейм лъэбакъуэ хэчэ! УзэтезыIыгъэ псори IугъэкIуэт! ЖеIэ уи КъегъэлакIуэм: «Уи деж нокIуэ гуэныхьщIакIуэшхуэ». Гуэныхьу уиIэр Абы и жорым телъхьэ!

Уи фIэщ щIы Абы и лъыр уэр щхьэкIи зэригъэжар! ЖеIэ Абы: «Зиусхьэн, Уэ уи IэмыщIэ изолъхьэ си гъащIэр зэрыщыту». Абы зэреджэр: кхъухь дыкъезыгъэлым уихьэнщ.

         «Фымыбэлэрыгъ! ГъащIэм дежкIэ шынагъуэщ!» Сыту куэд къытхэт иджыри и кIэм нэсу игукIи и псэкIи щIэрыщIэу къамылъхужауэ икIи Тхьэм и хьэкумым нэблагъэу! Ауэ Тхьэм и гущIэгъур инщ. ФIэщхъуныгъэр Тхьэм и хьэкумым укъыбгъэдишу Хьисэ и гущIэгъум ухуэзышэ лъэбакъуэщ. А лъэбакъуэр сабий джэгукъым. Абы гъащIэм и дежкIэ щыIэ шынагъуэм укъригъэлу аращ.

         Си цIыхугъэ Альберт Гоффман, ГвинеещIэм и япэ миссионерым, зэгуэр къызжиIэжар сигу зэи ихункъым. Сэ абы жесIащ: 

-              Къуэш Гоффман, сэ си чыристан фIэщхъуныгъэм папщIэ бэнэныгъэ езгъэкIуэкIын хуей мэхъу. Дин пашэм дежкIэ тынш цIыкIукъым мы дунейуэ шейтIаным къулыкъу хуэзыщIэм икIи жьыхьэнмэм пIащIэу кIуэм Хьисэ ейуэ щыщытыныр. 

-              Абы теухуауэ зыгуэр бжесIэнщ, - къыщIидзащ абы. - Ди деж, ГвинеещIэм, мыпхуэдэ хабзэ щыIэщ: папуасу чыристан хъуну хуейхэм чыристан диным хузоущий, Хьисэ зыхуэдэр тэмэму къагурыIуэн папщIэ. Тхьэмахуэ махуэ гуэрым ахэр доумэхъ итIанэ. Ар дапщэщи махуэшхуэщ. Абы мажусий куэди къокIуалIэ. Ауэ Iуэхугъуэ нэхъыщхьэр абы и пэ къихуэ пщыхьэщхьэрщ къыщыхъур. МафIэшхуэ зэщIагъанэри, зезыгъэумэхъхэр абы къокIуалIэ. Абыхэм яIыгъщ тхьэ нэпцIхэм пщIэ зэрыхуащIу щыта хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр: пхъэм къыхэщIыкIа тхьэ нэпIц сурэтхэр, дыуэхэр... МафIэм бгъэдыхьэурэ, ахэр хадзэ, я блэкIа гъащIэр IэщIыб зэращIым и щыхьэту. Зэгуэр сэ сыкIэлъыплъащ зи ныбжькIэ щIалэ цIыхубз гуэрым. Ари мафIэм бгъэдыхьащ, и IэмыщIэ изу дыуэ сыт хуэдэхэр иIыгъыу. Ауэ ахэр мафIэм пэридзэну зыщигъэхьэзырам, ар зэуэ къэувыIэжащ. Ар мыпхуэдэу егупсысагъэнщ: «Мыбы сяпэ итахэр ирипсэуащ, мыбыхэм си блэкIар епхащ, мыхэр сэ хыфIэздзэфынукъым!» Ар икIуэтыжащ. Ауэ абы и щхьэм мыр къохьэ: «ИтIанэ сэ Хьисэ ей сыхъуфынукъым!» Арати, аргуэру лъэбакъуищкIэ мафIэм гъунэгъу зыхуещI, ауэ аргуэру иIыгъхэр хыфIимыдзэфу йокIуэтыж. Апхуэдэу щыхъум, сэ абы сыбгъэдыхъащ, - пещэ и хъыбарым Гоффман, - икIи жесIащ: «Гугъущ узэсар IэщIыб пщIыныр. Иджыри зэ егупсыс. Уэ къыкIэлъыкIуэ умэхъынми  укъакIуэ  хъунущ». ЦIыхубзыр иджыри зы дакъикъэкIэ зыщIэгупсысыжащ, лъэбакъуищ псынщIэу ичри хьэпшып псори мафIэм хидзащ, абдеж езыри зимыщIэжу къэмэхащ.           Сщыгъупщэнкъым Гоффман и псальэм и кIэухыу жиIар: 

-              Сэ сызэригугъэмкIэ, а цIыхубзым и щытыкIар къызыгурыIуэнур игукIи и псэкIи щIэрыщIэу къалъхъужам и закъуэщ.

         Си ныбжьэгъухэ, кхъухь дыкъезыгъэлынум нэс дэлъыр зы лъэбакъуэ закъуэщ! Фи гъащIэм дежкIэ шынагъуэ лъапсэм фыкъикIи, Хьисэ зыIэщIэфлъхьэ. Ауэ а зы лъэбакъуэр пчыныр тынш цIыкIукъым. Абы къокI уи блэкIар хыфIэбдзэу. Ауэ - зэхэфхыу пIэрэ? Абы нэхь пуд вгъуэтынукъым.       ГурыIуэгъуэу вжесIауэ пIэрэ? ЯжепIэри зыгурамыгъаIуэу мыухыж кIуэдыжыныгъэм хуэжэ цIыхухэм я куэдагъыр слъагъуху, си щхьэм доуей. Тхьэр хуейкъым абы! Ар хуейщ фэ фыкъелыну! Аращ Езым и Къуэр, фи гуэныхь псори зыпшынар, къыщIигъэкIуар. Фэ къыфхуэнэжыр фи гуэныхьымкIэ зывумысыжу Хьисэ фIэщхъуныгъэкIэ фигукIэ къэфщтэн къудейрщ!

         Ещанэ рейхым и зэманым сэ зэгуэр гестапэм сраджауэ, зи блынхэм шкафхэр къегъэувэкIа пэш сыщIэст. Шкафхэм Iэтэу щызэтелът тхылъымпIэхэмкIэ куда папкэ зэкIуэцIыпхахэр. Папкэ къэс зы тхылъымпIэ кIапэ къыпылэлырт цIэхэр тетхауэ: «Мейер, Карл», е «Шульце, Фридрих». Сэ сезыджам деж сыщыщIашэнум сыпэплъэу а тхылъымпIэхэр зыдэз шкафхэм саздыбгъэдэтым, Тхьэм сигукIэ фIыщIэ хуэсщIырт си гъащIэр апхуэдэ тхылъымпIэхэм сахэсу зэрызмыгъакIуэмкIэ. СщIэн згъуэтыртэкъыми, ауэрэ цIэхэм сыкъеджэу сыхуежьащ: «Мейер, Карл», «Шульце, Фридрих». Абдеж си нэр хуозэ: «Буш, Вильгельм!» Ар стеухуа тхылът! А напIэзымпIэм сэ пысчащ а шкафхэр къысфIэмыIуэхуныр.

         Абыхэм дэлът сэ си папкэ. Сэ хуабжьу сыхуейт ар къыдэсхыу сэ стеухуауэ абы итым сыкъеджэну. Сэ сытегушхуакъым ар злэжьыну, сыкIэзызу сыбгъэдэтащ: »Мыр сэ стеухуа Iуэхущ», - жысIэу.

         ИкIи фщIэрэ, Хьисэ и жорым сызэрыхущытари абы ещхь гуэрущ. Си гъащIэм хэтащ зэман чристаныгъэм нэхърэ нэхъ зэшыгъуэ щымыIэу къысфIэщIу - апхуэдэу екIуэкIащ Хьисэ и жорыр япэ дыдэу нэIурыту къэслъагъуху: «Мыр сэри къызбгъэдохьэ! Мыбдеж зи гугъу щызэрахуэр си  къуаншагъэмрэ сэ къегъэла сызэрыхъунымрэщ!» Абы лъандэрэ Хьисэ и жорым нэхъ гъэщIэгъуэн щыIэкъым си дежкIэ. Феплъыт пыжь банэ ухуэна зыщхьэрыгъ цIыхум! Ар гъащIэм и къегъэлакIуэ щэджащэщ! Мес мо жорым фэри сэри дыкъыщрегъэл! Фэри фэпхащ ар, абы иджыри фыщымыгъуазэу щытми... ИныIуэу сыпсалъэу къыщIэкIынущ, тIэкIу нэхъ щэхуу сыпсэлъапхъэт, ауэ къегъэлыныгъэм зэпIэзэрыту утепсэлъыхьыфыну сытми?

 

3. Ажалым къыбгъэдэкIауэ гъащIэмкIэ  

 

         «Фымыбэлэрыгъ! ГъащIэм дежкIэ шынагъуэщ!» Мы пычыгъуэр нэгъуэщI IуэхукIи фэзгъэлъагъуну сыхуейт. СызэпхилыгъукIыу мыр къысхыхьэгъащ зэгуэр: »Умыбэлэрыгъ! Шынагъуэщ! КъэувыIэ! Къэгъазэ, цIыху! Уи КъегъэлакIуэр къэлъыхъуэ!» Абдеж сэ сегупсысащ шынагъуэ къызыкIэщIэзэрыхьынкIэ хъунур псэум и закъуэу зэрыщытым! Автобусыр шыхупIэм ехуэхрэ абы исахэр иукIамэ, абыхэм я дежкIэ шынагъуэ щыIэжкъым. КъывгурыIуа? А сызыхуейр нэгъуэщIуи вжесIэнщ: «Фэ шынагъуэ фиIэщ гъащIэм зэи  фыхэмыхьэнымкIэ, лIа пэлъытэу къэвгъащIэу итIанэ лIауэ мы дунейм фыхадзыжынымкIэ». ГурыIуэгъуэу жысIэу пIэрэ? Сэ сошынэ фэ гъащIэр зыIэщIэвгъэкIыпэнкIэ. Библием зэхэщIыкIыгъуэ дыдэу къеIуатэ ар: «Тхьэм и Къуэр зиIэм гъащIи иIэщ, Тхьэм и Къуэр зимыIэм гъащIи иIэкъым!»

         Мы махуэхэм сэ сыIущIащ Берлин щыщ хъыджэбз, еджапIэм хамэбзэ щригъаджэу. 

-              Къысхуэгъэгъу! - жесIащ сэ абы, - дин пашэр зэзэмызэ щIэупщIэ мэхъу адрейхэр зыщIэмыупщIапхъэ гуэрхэм: илъэс дапщэ ухъурэ уэ пщащэр? 

ФщIэуэ къыщIэкIынщ, хъыджэбзэхэм я ныбжьымкIэ еупщI хабзэкъым. Ауэ зи ныбжь хэкIуэта дин пашэм ар ищIэми, емыкIу илъкъым. Модрейми зимыIэжьэу жэуап къызитыжащ: 

-              Илъэсий. 

-              Зэт! - згъэщIэгъуащ сэ, - илъэсий жыпIа? Хамэбзэу щы езыгъэдж егъэджакIуэр илъэсий фIэкIа умыхъууи? 

Ар дыхьэшхри, къызгуригъэIуащ: 

-              Илъэсий япэкIэ сэ Хьисэ къэзгъуэтащ. Абы щыгъуэщ сэ псори щезгъэжьар, абы и пэкIэ лIауэ сыщытащ. 

Сэ ар телъыджэ къысщыхъуащ: 

-              Сыту екIуу жиIа! 

А пщащэм пищащ мыри:

-              Тхьэм и Къуэр зимыIэм гъащIи иIэкъым! - АдэкIи къыщIигъуащ: - Плъагъуркъэ, нэхъапэм сэ КъегъэлакIуэ сиIакъым, гъащIэ тэмэми сиIакъым. Абы щыгъуэ ахъшэ къэзлэжьу, си нэгу зезгъэужьу аркъудейт, ауэ ар гъащIэт сытми!

                   Тегушхуэныгъэ хэлъкъэ абы и псалъэхэм? Езыр арэзыуэ Хьисэ зыIэщIэзымылъхьэм гъащIэ иIэххэнкIэ хъунукъым. Аращ, Хьисэншэу гъащIэр зищIысыр дэ къытхуэщIэнкIэ Iэмал иIэкъым. Тхьэм и Къуэр зиIэм и закъуэщ гъащIи зиIэнкIэ хъунур!

                            Илъэс зыбжанэ и пэ си деж щIалэщIэ гуэр къыщIохьэ. Сэ абы соупщI:  - Сытым укъытхуихьа?  

-              Сэ езыми сщIэжыркъым ар, - жэуап къызет абы, - ауэ мы зыр сощIэ: сэ иджыпсту къэзгъащIэр гъащIэкъым, хьэзабщ армыхъу! 

        ЗгъэщIагъуэу согупсыс: 

-              Ар дауэ? Уэ улэжьакIуэщ, хъарзынэуи къыболэжь!  

-              Хьэуэ, ар гъащIэкъым, - идакъым абы, - ар гъащIэ хъуркъым!

Блыщхьэм сылэжьакIуэщ, гъубжым сылэжьакIуэщ, бэрэжьейм сылэжьакIущ, махуэкум сылэжьакIуэщ, мэремым сылэжьакIуэщ, щэбэтым футболщ, тхьэмахуэм - кинорэ хъыджэбзхэмрэ. Ар гъащIэкъым! 

ИтIанэ сэ жызоIэ: 

-              Пэжщ, узахуэщ, щIалэ, ауэ ар зэрымыгъащIэр къыщыбгурыIуэжакIэ, уэ уефIакIуэу ухуежьащ! Сэ бжесIэнщ гъащIэр зищIысыр. Си гъащIэм зэгуэр зэхъуэкIыныгъэшхуэ къыщыхъуащ. Сэ сыкъигъуэтащ сэр щхьэкIэ лIэуэ лIахэм къахэтэджыкIыжа Хьисэ. Ар си КъегъэлакIуэ хъури Тхьэм сригъэкIужащ. Ар си дежкIэ гурыIуэгъуэ щыхъум, си гур абы естащ. ИкIи, уи фIэщ щIы, абы лъандэрэ псэ къысхыхьэжащ! 

Зи гугъу фхуэсщI щIалэми абдеж гъащIэр къыщигъуэтащ. Куэд щIакъым абы аргуэру Фрейбург сызэрыщыхуэзэрэ. 

-              АтIэ, - сеупщIащ сэ абы, - иджы дауэ щыт уи Iуэхухэр? УиIэ иджы гъащIэ?

ГуфIэгъуэр и нэгум къилыдыкIыу, абы жэуап къызитащ: 

-              НтIэ, иджы сиIэщ гъащIэ!

Иджыпсту ар жыджэрщ, щIалэгъуалэр Библием щеджэ гупым и унафэщIщ, цIыхухэр Хьисэ хуешэ. Абы гъащIэр Хьисэ къыхигъуэтащ.

                   КъывгурыIуэрэ? Фи гъащIэр зыIэщIэвгъэкIынкIэ шынагъуэ фиIэщ, сыту жыпIэмэ, фэ Мэссихь и хъыбар зэхэфх щхьэкIэ, фи КъегъэлакIуэр зэи къыфхуэгъуэтынукъым!

                   Сэ ныбжьэгъу сиIэщ бизнесмену. Иджыблагъэ ар фабрикант гуэрым щригъэблэгъащ парк дахащэм хэт и унэ дэгъуэм. ХьэщIэхэр цIыхуищэм нэблэгъэнт. Мо зэрызехьэм си ныбжьэгъур бысымым Iуоуэри мыр жреIэ: 

-              Сыту фIыуэ упсэурэ! Уэ упащтыхьщ! Мы уи щIапIэр! Фабрикэшхуэр!

ЩхьэгъусэфI дыдэр! Дыгъэщыгъэ быныр!

Бысымым жэуап къритыжащ: 

-              Пэжщ уэ жыпIэр, сэ хуэщIауэ сопсэу. 

Ауэ абы и нэгур зэуэ къызэIууэри, жиIащ: 

-              Ауэ укъызэмыупщI мы си кIуэцIым щыжьэмкIэ. 

Ар жиIэри, и бгъэм теIэбащ.

                   Уэрамым сыщрикIуэкIэ, щIэх-щIэхыурэ согупсыс: ЦIыхухэр зы тIэкIукIэ нэхъ мыхъуми, нэхъ пэжу щытамэ, къэувыIэурэ мыпхуэдэу кIиинт: Мы си гум щыхъэмкIэ фыкъызэмыупщI!»Абы мамырыгъэ щыIэкъым. Абы щыIэр псэм псэхупIэ къезымыт гуэныхьырщ.

                   Зыщ дэ дигъэхъужыфыну щыIэр. Фи фIэщ фщIы! Тхьэм елъагъу дэ ди теплъэ, щытыкIэ фаджэр. Дэ езым Тхьэм гъунэгъу зыхуэтщIыфынукъым, ауэ Езым и лъагъуныгъэшхуэм къыхэкIыу, Абы Хьисэ къытхуригъэхащ. Сэ мы хъыбарыр сIуэтэн хуей хъумэ, уи гущIэлъапсэр къызэщIеIэтэ: «Тхьэм мы дунейр фIыуэ илъэгъуати, Езым и Къуэр итащ...» Сэ фIыуэ слъагъунтэкъым а дунейр, сэ зэхэзупщIэтэнт фIейм, бзаджэнаджагъэм, делагъэм зэщIищта мы дунейр. Ауэ Тхьэм ар фIыуэ къилъэгъуащ! Уи щхьэм къыпхуигъэтIасэркъым ар. «АпхуэдизкIэ фIыуэ илъэгъуат Тхьэм мы дунейри, Езым и Къуэр абы щхьэкIэ итащ, а лъагъуныгъэр къэзыщтэ псоми хэмыкIуадэу гъащIэ яIэн папщIэ». КъызжефIэт, сыт абы и лейуэ фэ Тхьэм къыфхуищIэфынур, фэ мыкIуэдыжын гъащIэ фиIэн папщIэ Езым и Къуэр щригъэукIакIэ?

                   Си псалъэм и кIэу зы хъыбар гъэщIэгъуэн гуэр вжесIэжынущ. Инджылыз дин паш цIэрыIуэ Чарльз Сперджен щIалэщIэ гуэр къыбгъэдыхьэри, къыжриIащ: 

-              Зиусхьэн дин паш, уэ узахуэщ, сэри къэзгъуэтыну сыхуейщ Хьисэ, сэри Тхьэм и бын сыхъуну сыхуейщ. Сэри си гуэныхьхэм зэгуэр сыхущIегъуэжынщ. 

-              Зэгуэри?»- щIэупщIащ Сперджен. 

-              АтIэ, нэхъ иужьыIуэкIэ.          

-              Нэхъ иужькIи? Ар щхьэ мыиджыпстурэ?

ЩIалэщIэм, тIэкIу укIытауэ, жиIащ: 

-              Сэ сыхуейщ сыкъелыну, икIи абы къыхэкIкIэ си гуэныхьхэм зэгуэр  сыхуэщIэгъуэжынщ, ауэ абы и пэ къихуэу мы гъащIэм зыгуэрхэри къыпысхыну сыхуейщ. 

Сперджен ину къэдыхьэшхри, жиIащ: 

-              Уэ, щIалэщIэ, ущэныфIэIуэщ. Мы гъащIэм зыгуэрхэр къыпысхыну сыхуейщ, жыхуэпIэр, си гугъэмкIэ, мащIэIуэщ. Сэ гъащIэм щыщ зыгуэр тIэкIукъым сызыхуейр, езы гъащIэрщ. Мы си Библием итщ: «Сэ сыкъыщIэкIуар гъащIэ щызу фиIэн папщIэщ». 

Мыпхуэдэ лекцэхэр и кIэм щынэзгъэсым деж, сэ гузавэ къызощтэ, мыпхуэдэу согупсысри: «Мы Iуэхум цIыхухэм мытэмэму уахутепсэлъыхьари хэлъщ!»  

                   Абы къыхэкIкIэ, хуит сыфщI иджыри зэ кIэщIу къытезгъэзэжыну. Тхьэм Хьисэ жорым щIыкIэригъэлIыхьар дэр щхьэкIэщ, дэ кIуэда, нэлат зытехуа гуэныхьщIакIуэхэрщ, дэ мыбы - мыбы икIи иджыпсту - гъащIэ щыдиIэн щхьэкIэщ. Пщэдджыжьым сыкъыщыушкIэ, гуфIэгъуэ уэрэд жысIэ хъунущ сэ Тхьэм сызэрибыным, Абы гъащIэ къызэрызитам папщIэ.

                   Зэхэфхрэ? Хьисэ къыщIэкIуар мыбы дыщыIэ щIыкIэ мыкIуэдыжын гъащIэ диIэн папщIэщ, икIи игъащIэкIэ Тхьэм и хьэкумым дыщихъумэн щхьэкIэщ. 

Зы щапхъэ цIыкIу къыфхуэсхьыну хуит сыкъэфщI. Мыр къыщыхъуар щакIуэгъуэ пщыхьэщхьэ гуэрщ. Уэшхрэ уэсрэ зэщIэлъу къехырт. Жьы къепщэрт, щIыIэт. Уэрамым цIыхуитI ирикIуэрт. Зым плащ щыгътэкъым, и кIэстум пщампIэр къиIэтат. Абы зыуи къридзэртэкъым и щыгъыныр зэрыщыту псыф зэрыхъуар, дэнэ кIуэми и зэхуэдэт, сыту жыпIэмэ екIуэлIапIэншэти! Мис апхуэдэу дунейм къыщаджэдыхьу аращ цIыхум я нэхъыбэм.

                   Абыхэм мурад гуэр яIэкъым. Сыт абыхэм къащыщIынур? Ар сыту гузэвэгъуэ - мурад уимыIэныр! Тхьэр зи фIэщ мыхъу философ Ницше зы усэ гуэрым щетх: «Къуаргъхэр Iэуэлъауэу къалэмкIэ зэрохь,/ мыгувэу уэс къесынущ/, унэ зимыIэхэр унэхъуауэ аращ». Фэри фиIэкъэ гъащIэ унэ? Ауэ нэгъуэщI зы гъуэгурыкIуи тетщ уэрамым. Ари хэтщ а жьапщэ дыдэми а ятIэпсми. Абыи а уэшхыр къытошхэ, а уэсри къытосэ. Ауэ ар гукъыдэж хэлъу мэбакъуэ, дзапэ уэрэди къреш. Сыт абы и щхьэусыгъуэр? Абы жыжьэу елъагъу и унэм къыщIидз нэхур! Абы нэсыжмэ, тыншыжынущ! А унэр хуабэщ! Гъуэгур абы къытехьэлъэркъым. Апхуэдэу мы дунейм къыщыгъуэгурыкIуэр Хьисэ IэщIэлъ, АбыкIэ иджыпстуи уахътыншагъэми гъащIэ щызиIэ цIыхухэрщ.

                   Тхьэм Нухь къыжриIащ: «Кхъухъым итIысхьэ!» Сэри апхуэдэу сыныволъэIу. ФыщIыхьэ Хьисэ деж! Ар гъунэгъущ! Фэ Абы фыдэуэршэр хъунущ. Фи гум илъыр хуифкIут Абы. Сэ зыгуэр къызэупщIащ: «Уэ цIыхухэм уащепсалъэ сыхьэт хэха уиIэкъэ?» - жиIэри. Жэуапу естыжаращ: «Сыт зэрысщIынур? ЦIыхухэр сэракъым зэпсэлъэн хуейр. Ахэр дэлэл ямыIэу Езы Хьисэ дыдэ епсэлъэн хуейщ!» Фэри аращ фщIэнур.