.

СЫТ  ТЩIЭНУР?

 

Си ныбжьэгъухэ, сэ тхыгъэ Iэджэ къысхуатх упщIэ зэмылIэужьыгъуэхэр ярыту. Апхуэдэ зы тхыгъэ гуэр къыщIэупщIэрт: «Уэ жыпIэр уэ езым уи Iуэху еплъыкIэ хьэмэрэ ар фи члисэм и еплъыкIэ?» Сэ абы жэуапу схуетар мыращ: «Ар Библием тещIыхьащ!» ИкIи сегупсысащ: Дин пашэ Буш и Iуэху еплъыкIэм федэIуэху, фэ фыцIыху гъэпцIауэ аращ. Абы сэбэпу мащIэщ фи дежкIэ хэлъыр. Фэ фызэдэIуэн хуейр Хьисэ и макъырщ! Хьисэ езым зыфIищыжащ Iэхъуэ Хьэлэл. Мис а Iэхъуэ Хьэлэлым и макъыращ фызыщIэдэIунур. Сэ си къару мащIэмкIэ тIэкIу зыфщIэзгъэкъуэфыну аращ, Хьисэ, «Си псэм и Iэхъуэ Хьэлэлым», и макъыр фи тхьэкIумэм къиIуэн папщIэ.

                   Иджыпсту, «Сыт тщIэн хуейр?» темэмкIэ дыщызэпсалъэкIэ, мыхьэнэшхуэ иIэщ Хьисэ хуит фщIыуэ Езыр зэвгъэпсэлъэным, Хьисэ и макъым фыщIэдэIуным.

 

1. Фи фIэщмыхъуныгъэр кхъахэр IэщIыб фщIы

 

                   Къалэшхуэм дин пашэу илъэс куэдкIэ сыщылэжьати, куэдрэ срихьэлIащ Библием ит хъыбарыр зымыдэхэм, а фIэщмыхъуныгъэ кхъахэм апхуэдизкIэ уэру сыIууащи, сэ, псом япэрауз, фэ сынывэлъэIуну сыхуейт, фи псэр къезгъэлын папщIэ: фи фIэщмыхъуныгъэр кхъахэр IэщIыб фщIы!

                   Зауэм и зэманым, щIалэгъуалэ дин пашэу сызэрыщытым нэмыщI, сэ пIалъэ гуэркIэ сымаджэщышхуэм ущиякIуэу сыщыIэгъащ. Сымаджэ цIыху гуэрым зыщIэлъ унэм и бжэм зэгуэр  сыбгъэдыхьауэ абы сытеуIуэну сыхэту, пырхъуэ кIыхъым кърожэри, дохутыр дэIэпыкъуэгъуу лажьэ пщащэ ныбжьыщIэ къызбгъэдолъадэ икIи мыр жеIэ: 

- КхъыIэ, мы сымаджэм деж ущIэмыхьэ, зиусхьэн дин пашэ!             

– Ар сыт щхьэкIэ?» - соупщI. - Мыбы щIэлъ зиусхьэным ауи идэххэркъым дин пашэ щIигъэхьэн! Ар хуейкъым абы деж укIуэну! Абы укъыщIихужынущ!

Ар жиIэри бжэм сымаджэм и цIэр иту фIэлъ тхылъымпIэр IэпэкIэ сигъэлъэгъуащ. Абы иту сыкъеджащ рекламэхэм хэту нэIуасэ схуэхъуа хьэрычэтыщIэ гуэрым и унэцIэм.

-              Шыпхъу, - къыгурызогъаIуэ сэ хъыджэбзым, - сэ апхуэдэхэм куэд щIауэ сесэжащ!

 Ар жысIэри бжэм сытеуIуащ. 

-              КъыщIыхьэ! - къэIуащ цIыхухъу макъ лъэщ. Пэшым сыщIыхьащ. ПIэм хэлът зи щхьэцхэр тхъуа лIы хэкIуэта. 

-              Уи махуэ фIыуэ! - жысIащ сэ. - Сэ сыдин пашэ Бушщ! 

Жэуап къызитащ абы: 

-              Уэ птеухуауэ куэд зэхэсхащ. Уэ си деж укъакIуэ хъунущ!            

-              Хъарзынэ гуэрщ! - сыгуфIащ сэ. 

Модрейм къыпищащ: 

-              Ауэ а уи чристаныгъэм и гугъу къысхуэпщIу сумыгъэпIейтей!  - Мис ар хъуакъым, - сыхуэгуфIащ сэ абы, - ар дыдэрат сызыпхутепсэлъыхьыну си гугъар! 

-              Ар хъункIэ Iэмал зимыIэщ! - пиупщIащ абы. - ПщIэрэ, сэ сыщыщIалэ цIыкIум щегъэжьауэ Тхьэр зыгъэлъапIэ дин уэрэд цIыкIухэмкIэ сакудащ, ауэ иужькIэ сэ езым си IуэхуеплъыкIэ зэфIэзгъэувэжащ, Дарвин, Геккель, Ницше сымэ я лэжьыгъэхэр си тегъэщIапIэу. 

Мыбдеж сэ сыкъэуцIыплъащ (си жагъуэ зэрыхъущи, сэ псынщIэIуэу сыкъызэщIонэ) икIи абы себгъэрыкIуащ: 

-              КъэдаIуэт, цIыху кхъахэ, илъэс 16 хъу щIалэжь цIыкIум, псалъэм папщIэ, Ницше езым и бегъымбару къыхихауэ къызжиIатэмэ, сэ сыпыгуфIыкIынти, сегупсысынт: 

                   А-а, ар сабиигъуэмрэ балигъыпIэмрэ я зэхуаку дэт ныбжьщ зэрытыр. Мыбы иджыри къыгурыIуэнщ дяпэкIэ иджырей философхэм я пасэрей бегъымбархэр езы дыдэхэм я фIэщ зэрымыхъужыр! Ауэ апхуэдэ гуэр цIыху хэкIуэтам, хьэдрыхэ гъуэгу тетым, щыжиIэм деж - ар узижэгъуэнщ! Уэ усымаджэ лъэрымыхьщ, ажал уз упкърытщ. Тхьэм и пащхьэм апхуэдэ псалъэ мыфэмыцкIэ уихьэну ухуейуэ ара? ЗыщIэгупсысыж!

                   ИгъэщIагъуэу, ар къызоплъ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ сепсэлъэну пэплъагъэххэнтэкъым ар. Абдеж зыкъызэщIэспхъуэтыжащ: «УвыIэ! Сымаджэщым апхуэдэу ущыгубжь хъунукъым. Мыбы хъыдан вакъэ щабэкIэ щызокIуэ». А цIыху тхьэмыщкIэм хуэгъэза гущIэгъу куу къыспкърыхьащ абдежым. «Япэ псынщIагъэкIэ» зызэсхъуэкIыжри, езым япэ щIыкIэ зэримыдам щхьэкIэ къэзмыгъанэу, Хьисэ сыхутепсэлъыхьын езгъэжьащ. Ар абы и Iэхъуэ Хьэлэлу щытыну зэрыхуейр жесIащ. Ар куууэ щэтащ: 

-              Ей, ар хъарзынэт! Ауэ сыт сэ си IуэхуеплъыкIэм есщIэнур? ЛIо сыбгъэщIэнур: си гъащIэ псом си фIэщ хъууэ щытар хыфIэзбгъэдзэну? 

-              Аращ, аращ щIэн хуейр! - жысIащ сэ сыкъэгуфIауэ. - Си псэм хуэдэ!

Адрей дунейм ущыхыхьэкIэ, абы сэбэп къыщыпхуэмыхъуну псори хыфIэдзэ. Нобэ дыдэ хыфIэдзэ, пщэдей нумыгъэсу! А уэ уи фIэщмыхъуныгъэ кхъахэр пхэлъмэ, пэжу упсэуфынукъым, ущылIэкIи, зыкъебгъэлыфынукъым. Уэ щхьэкIэ лIэуэ уэ укъэзыщэхужа Тхьэм и Къуэм и IэмыщIэ зилъхьэ – итIанэ. А КъегъэлакIуэр уэри уи КъегъэлакIуэ хъуну хуейщ!

НетIрей хъыджэбзыр къыщIыхьати,  хуабжьу игъэщIэгъуащ, мамыру дызэрыздэуэршэрыр щилъагъум, икIи и Iэр къысхуищIащ. Сэ къызгурыIуащ щIэкIыжын зэрыхуейр. Зи ныбжь хэкIуэта зиусхьэным и Iэр быдэу скъузри, пэшым сыкъыщIэкIыжащ. СщIэркъым, абы Хьисэ къищтами. Ар жэщым лIащ!

                   ФщIэрэ, сэ абы щыгъуэ  телъыджэ къысщыхъуащ уеблэмэ щIэныгъэ зыбгъэдэлъ цIыхухэри, Дарвин я тегъэщIапIэу, мы дунейм зэрыщызебыршэр икIи я фIэщмыхъуныгъэ кхъахэм и зэранкIэ, мыухыж насыпым зэрызыхагъэкIыжыр. Абы къыхэкIыуи фэ, псом япэрауэ, сыволъэIу: А фи фIэщмыхъуныгъэм  тегъэщIапIэ хуэфщI тезис кхъахэ псори Iэщыб фщIы. ФапыкI абыхэм! А фи фIэщмыхъуныгъэ кхъахэр кIэпIейкIэ нэф и уасэкъым!

Библием итщ: «Тхьэр закъуэщ, Тхьэмрэ цIыхумрэ зэпызыщIэу я кум дэтри Зыщ, Хьисэ Мэссихьщ !»

ЛIы гуэрым и гупэ сыкъист зэгуэр. Кiуэ аракъэ, щIалэ зыIэщIэлъыфIт, бжищ зыхэлъ шкафым хуэбгъэдэну. Абы сэр-сэру Кусэ фIэсщат, цыджанэ кусэ зэпымыууэ зэрыщыгъым щхьэкIэ, езым и цIэр, дауи, нэгъуэщIт. Абы и фызыр бомбэ къэуам иукIат. И къуитI зауэм хэкIуэдат. ЦIыху насыпыншэт! Мурад сщIащ абы дежь сыкIуэну. Ауэ сызэретIысэхыу, абы занщIэу къызгуригъэIуащ:    

-              Зиусхьэн дин пашэ, а уи чристаныгъэм и гугъу къысхуумыщI къудей.

Сэ а сшэча псом я ужькIэ зыри си фIэщ хъужыркъым!

Сэ сыдыхьэшхри, жысIащ: 

-              Ар си нэгу къысхущIэгъэхьэркъым! КъызжеIэт, зиусхьэн Кусэ, - ипэжыпIэкIэ, абы и цIэр нэгъуэщIт, - уэ мафIэгукIэ узекIуэрэ зэзэмызэ? 

-              АтIэ», - къызитащ жэуап. 

-              АтIэ, угугъэ зэрыхъунумкIэ, - жызоIэ сэ, - уэ мафIэгузехуэм убгъэдыхьэурэ мафIэгу зэрихуэну хуит зыщI тхылъыр уигъэлъагъуну хубогъэув дапщэщи! 

-              Хьэуэ, хьэуэ! - жиIащ абы, - унафэщIхэр щыIэкъэ, я мафIэгузехуэр тэмэму.  

-              Ар дауэ?! - согъэщIагъуэ сэ, - локомотивым ис щIалэм ар зэрихуэфрэ зэримыхуэфрэ зэхыумыгъэкIауэ мэфIэгум уитIысхьэуи?! Мыдэ къэдаIуэт, зиусхьэн Кусэ, уи гъащIэр зыгуэрым дзыхь хуэпщIмэ, ар фIэщхъуныгъэщ!

ДяпэкIэ зэи къызжумыIэ: «Сэ зыри си фIэщ хъужыркъым!»  жыпIэу. ЖыпIэнур мыращ: «Сэ зыри си фIэщ хъуркъым, мафIэгум ирилажьэхэм фIэкIа». 

А лIым сеупщIащ итIанэ: 

-              Уэ, зиусхьэн Кусэ, аптекэм зэзэмызэ ущIыхьэ уи хабзэ? 

-              НтIэ, - жиIащ абы, - си щхьэр щIэх-щIэхыурэ мэуз. Аптекэм щхьэуз хущхъуэ къыщызощэху абы щыгъуэ. 

-              АтIэ, - жызоIэ сэ, - зиусхьэн Кусэ, аптекэм щылажьэхэм зэрымыщIэкIэ хущхъуэм и пIэкIэ щхъухь къыщыпIэщIалъхьэ къохъу. Уэ, дауи, а хущхъуэр япэ щIыкIэ къыупщытэ къыщIэкIынщ? 

-              Хьэуэ, - жи лIым, - а къызэIысхыр зыкъом щIауэ мэлажьэ, Iуэхум хещIыкI, абы сыкъигъэпцIэн сытми! 

-              Ар дауэ? - согъэщIагъуэ сэ, - хущхъуэр зи щIысыр япэщIыкIэ зумыгъащIэу занщIэу ебгъэлъэтэхыуи? Аптекэм щылажьэм уи гъащIэр дзыхь хуэпщIу ара? Абы дзыхь хуэпщI къудейкIэ, а хущхъуэхэм нэуфIыцIщхьэрыуэу уефэу ара?! Мис ар фIэщхъуныгъэщ! ФIыуэ слъагъу зиусхьэн Кусэ, афIэкIа зэи къызжумыIэ: «Зыри си фIэщ хъуркъым!» - жыпIэу, мыращ жыпIэнур: «Сэ зыри си фIэщ хъуркъым гъущI гъуэгу лэжьакIуэхэмрэ аптекэм щылажьэхэмрэ фIэкIа!»

                   АдэкIи апхуэдэ гуэрхэр къыпысщащ. Фэ къывгурыIуэрэ? Iэджэ къыщIэщащ иджыри. Арати, мыпхуэдэу жесIащ абы: »Зэгуэр сэ си гъащIэм сыщыхуэзащ Тхьэм и лIыкIуэ, лIахэм къахэтэджыкIыжауэ, и Iэхэм гъущI Iунэ хаукIахэр уIэгъэу телъу - а уIэгъэхэм нэрылъагъу къысщащIащ абы лIэным нэс сэ фIыуэ сыкъызэрилъагъур. Мы дуней псом нэгъуэщI зыри теткъым Хьисэ къысхуищIам хуэдиз къысхуэзыщIауэ! Хьисэ ебгъэз хъуну дзыхьым

хуэдиз ебгъэзыну нэгъуэщI зыми хуэфащэкъым! Хьисэ пцIы зэгуэр иупсауэ фи гугъэ?

          Хьэуэ! АбыкIэ зы цIыхуми щыхьэт сыхуэхъуфынтэкъым, ауэ Хьисэ сыхуохъу. АбыкIэ зыщызумысыжым, мыр жысIащ: си гъащIэр Хьисэ дзыхь хуэсщIыну сыхуейщ! 

Абы щыгъуэ си уэршэрэгъур къызэупщIащ: 

-              Ярэби, а псор пщIэну апхуэдэу тынш? 

-              АтIэ, ар тынщ дыдэш, зиусхьэн Кусэ, - жесIащ сэ, - тынш дыдэщ ! Уэ хэти уи фIэщ уощI, ауэ дзыхь пэж дыдэу зыхуэпщI хъуну щыIэ Закъуэм дзыхь хуэпщIыну ухуейкъым! А уи фIэщмыхъуныгъэм и лъабжьэ кхъахэ псори зэдзэкIа уи гъащIэр, зиусхьэн Кусэ, Зиусхьэн Хьисэ дзыхь хуэщI! 

НыбжьыщIэ щэ бжыгъэхэм я пащхьэ щыжысIэгъащ зэгуэр: 

-              И гъащIэр Хьисэ и IэмыщIэ къызэрырилъхьам хущIегъуэжауэ зы цIыху сэзыгъэлъагъуфым саугъэту маркэ мелуан изот! 

Сэ маркэ мелуан сиIэтэкъым, ауэ итIани сытегушхуащ ар жысIэну, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ зы цIыхуи щыIэкъым абыкIэ щIегъуэжауэ жиIэну. Ауэ сэ цIыху Iэджэ срихьэлIащ Хьисэ къызэрамыщтам щхьэкIэ я щхьэр зыфIаудыжу! 

                   Абы къыхэкIкIэ - фи фIэщмыхъуныгъэ кхъахэр IэщIыб фщIы! Фэр папщIэ псори зылэжьар фи фIэщ фщIы! А Iуэхур Абырэ фэрэ фяку щызэфIэкIынущ. Абы щхьэкIэ уи закъуэу лъэныкъуэ зебгъэзу щэхуу жыпIэн хуейщ: «Зиусхьэн Хьисэ, нобэ щегъэжьауэ Уэ ууейуэ сыщытыну сыхуейщ!»

 

2. Гуэныхьыншэу зыкъыфщыхъужыныр зыхэвнэн

 

                   Библием итщ: «Мэссихь Хьисэ дунейм къэкIуащ гуэныхьщIакIуэхэр къригъэлыну жыхуиIэ псалъэр пэжщ икIи ар къэщтапхъэщ». ЦIыху куэд а жыпIэм къегъэгубжьри, жаIэ: 

-              Сэ сыгуэныхьщIакIуэкъым! Сэ сыщIэпхъаджащIэкъым! - Фэ пцIы фоупс! – абыхэм яжызоIэ. - А махуэм Езы Тхьэм жефIэт: «Сэ сыгуэныхьщIакIуэкъым! Сэ уи унафэхэм сытетащ!»  жыфIи. ФхужыIэну пIэрэ? Зыхэвн гуэныхьыншэу зыкъыфщыхъужыныр, ар щхьэгъэпцIэжщ, псори зэрыщытын хуейм хуэдэу щыту къыфщигъэхъуу! Хьэуэ, псори зэрыщымытыпхъэущ зэрыщытыр, абы фыхуеймэ! Илъэс зыбжанэ и пэ илъэс тIощI и ныбжьыну зы щIалэ гуэр сепсэлъауэ щытати, ар иджыри къэс сщыгъупщакъым, дяпэкIи сщыгъупщэнукъым. Абы сыхуэзауэ, жызоIэ зэгуэр:

-              ФIыуэ слъагъу Гейнц, Библием дыщытепсэлъыхь щIалэгъуалэ гупым  унакIуэу услъагъужыркъыми!

-              ПщIэрэ, зиусхьэн дин пашэ, - жэуап къызет абы, - а зэманым къриубыдэу сэ лъэныкъуэ псоми сегупсысащ. Уэ зэпымыууэ утопсэлъыхь гуэныхьщIакIуэхэм щхьэкIэ лIа Хьисэ. Ауэ сэ сыхуейкъым къысщхьэщыжу зыгуэрхэр сщхьэщызыхын. СымыщIапхъэ гуэр злэжьамэ, Тхьэр щыIэри пэжмэ, сэ езым жэуап щысхьыжынщ Абы и пащхьэм. Дыхьэшхэнкъэ сэр щхьэкIэ лIа КъегъэлакIуэ гуэр сыхуэныкъуэныр!

Сэ абы жиIэр хуэздакъым: 

-              Хъунщ, хъарзынэщ! Аращи, уэ Тхьэ лъапIэм и пащхьэм Тхьэм и хабзэм утетауэ жыпIэу  ар тегъэщIапIэ щыпщIыну ухэтщ. Ар уэ пхузэфIэкIынущ! Уэ плъэкIынущ Хьисэ Iумпэм пщIыуэ жыпIэныр: «Сэ Тхьэм и пащхьэм хабзэр тегъэщIапIэ щызощI!» Ауэ, си псэм хуэдэ, зыгурыгъаIуэ: Францием француз хабзэкIэщ хьэкум зэрыщащIэр, Англием – инджылыз хабзэкIэщ, ауэ Тхьэм и пащхьэм Тхьэм и хабзэрщ жэуап зэрыщахьыр! ФIыуэ слъагъу, зы унафэм уемыбэкъуэну сыпхуохъуахъуэ, арыншамэ, укIуэдауэ аращ! Узыншэу ущыт! 

-              Зэ умыпIащIэт, - жиIащ абы, - апхуэдэу дзыгъуэ гъуанэ дихьа къамыгъанэу зэхагъэкIыну-тIэ? 

-              Хьа-хьа! - здакъым сэ абы жиIар, - Тхьэ ЛъапIэр сыт хуэдэу уэ уи нэгу къызэрыщIэбгъэхьэр? Къызыщыгъэхъут, сэ илъэс щэ ныкъуэкIэ фIыуэ икIи тэмэму сыпсэуауэ итIанэ зэгуэр дакъикъищым и кIуэцIкIэ зыгуэр къэздыгъуауэ. Ар къыщIагъэщри, сэ хьэкум пащхьэм сыкъохутэ. Аращи, хьэкумыщIым и пащхьэ ситу къыгурызогъаIуэ: «Зиусхьэн хьэкумыщIэ, апхуэдэу цIыху жьгъейуэ ущымыт! Тэмэму, згъэкIуа илъэс щэ ныкъуэмрэ сызэрыдыгъуа дакъикъищымрэ зэбгъапщэ хъурэ сытми! Апхуэдэу жьгъейуэ ущыт хъурэ, зиусхьэн хьэкумыщIэ?» Уи нэгу къыщIэбгъэхьэфыну уэ ар? ХьэкумыщIэм мыр жэуапу къызитынт: «Зэ умыпIащIэт! Сэ сызытепсэлъыхьыр уэ тэмэму къэбгъэщIа илъэс щэ ныкъуэра-къым, сэ сызытепсэлъыхьыр а уэ узэрыдыгъуа дакъикъищырщ! Хабзэм узэригъэкъуаншэр а Iуэхуращ!» ЩIым тет хьэкумыщIэр апхуэдэу Iуэхум щыбгъэдыхьэкIэ, Тхьэм и гугъу умыщIыххэ!

                   Тхьэм и пащхьэ зыкIи фыщымыкъуаншэу фи гугъэ? Тхьэм гуэныхь къыфхуигъэгъуным фыхуэмыныкъуэу фи гугъэ? Фэ фымыгуэныхьщIакIуэу къыффIэщIрэ? Ей, гуэныхьыншэу зыкъыфщыхъужыныр зыхэвни, фи гуэныхьхэм папщIэ жорым кIэрылIыхьу фэ фыкъэзыщэхужа Зиусхьэныр къэфлъыхъуэ. Къафщтэ Ар, фи гуэныхьхэмкIэ зыхуэвумысыжи, Абы жефIэ: «Зиусхьэн, Уэ сэ езым зынызот, си гуэныхь псори сщIыгъуу! ГущIэгъу къысхуэщI! Уи лъымкIэ сыгъэкъэбзэж!»

                            

3. ТегушхуэныгъэкIэ лъэбакъуэ фчы

 

         Сызыхуейр гурыIуэгъуэ фщыхъун папщIэ, иджыри зы хъыбар нывжесIэжынщ. Нацист рейхым и щIэдзапIэ дыдэхэм щыгъуэ сэ сыIууэн хуей хъуащ къулыкъушхуэ дыдэ зыIыгъ гуэрым. Гузавэм сиубыдауэ сыкIэкуакуэу сыкIуэрт абы деж, сыту жыпIэмэ дин пашэхэм абы щыгъуэ пщIэ лъэпкъ къыхуащIыртэкъым. Ауэ, гъэщIэгъуэнырати, абы

сыкъыщIихужын дэнэ къэна, хуабжьу къысхуэгуапэу къызэдэIуащ. Ди Iуэхур щызэфIэкIым, абы сеупщIащ: «КъэдаIуэт! Сэ куэдрэ къысхуихуакъым уэ пхуэдэ цIыхухэр гуапэу къыспекIуэ-кIыу. ФIыщIэ пхузощI абы папщIэ! Апхуэдэу фIыуэ укъызэрысхущытам папщIэ сэ уэ тыгъэшхуэ пхуэсщIыну сыхуейщ. Сэ бжесIэнщ си хъыбарыр: «Тхьэм дунейм и цIыхухэр апхуэдизкIэ фIыуэ илъэгъуати, Езым и Къуэ закъуэр итащ, Тхьэм и КъуэкIэ фIэщхъуныгъэ зиIэ дэтхэнэри мыкIуэдэу къелын икIи мыкIуэдыжын гъащIэ иIэ хъун папщIэ».

                    Ар къызэплъри, жиIащ: 

-              АдэкIэ пумыщэми хъунущ. Си адэ-анэр цIыху къабзэу, фIэщхъуныгъэ яхэлъу щытащ, а уи хъыбарым сызэрыщIалэ цIыкIу лъандэрэ сыщыгъуазэщ.

Ауэ .....

Абы стIолым тхылъымпIэ напэ хужьышхуэ трилъхьащ, къалэм къищтэри, тхылъымпIэ къабзэм зы екъуа щритхъащ, икIи адэкIэ и псалъэм пищащ: 

-              Плъагъуркъэ, зиусхьэн дин пашэ, сэ псори сощIэ, икIи абы сыхуей хъумэ, мис мы екъуа истхъам ещхь гъунапкъэ гуэрым себэкъуэн хуей хъунущ. А гъунапкъэм и гъунэгъубзэу сыщытщ сэ, - абдеж  абы итхъар сигъэлъэгъуащ. - Сэ сытегушхуапхъэт тегушхуауэ а зы лъэбакъуэр счыным!

УкIытэ хэлъу жиIащ адэкIэ: 

-              Ауэ дунейм щызиIэ увыпIэм хуит сищIыркъым ар злэжьыну! 

Сэ зэхэсхар си гум щIыхьауэ сыкъыщIэкIыжащ абы деж. А зи гугъу фхуэсщIар куэд щIащ зэрылIэрэ. Дунейм щиIыгъа увыпIэм ар адрей дунейм къыщригъэлынукъым! Ауэ абы къыгурыIуат мыр: «Тхьэм и

Тепщэныгъэшхуэм сыкIуэну сыхуеймэ, гъунапкъэм себэкъуэн хуейщ».

                   АтIэ фэ фхэлъ абы фызэрытегушхуэн лIыгъэ? Фымыгузавэ, а фи гугъуехьыр пщIэншэ хъунукъым! Хьисэ IэплIэ къывишэкIыну и Iэхэр къишияуэ къыфпоплъэ! Гъунапкъэм фызэпрызышыну лъэбакъуэр тегушхуэныгъэкIэ фчыи, Хьисэ и IэплIэм фыкъихутэ!

 

4. Гуэныхь нэрылъагъум фыпыкI

                   

Сэ соцIыху зи фызым хуэмыпэж, щIасэ зезышэ лIы гуэр. Ар къыщысщIэм, жесIащ мыпхуэдэу: 

-              Уэ уи фызым уопцIыж! Уи фызыр насыпыншэ уощI! ИгъащIэкIэ укIуэдауэ аращ уэ!

-              Мыхьэнэншэщ ар! – къызитыжащ абы жэуап. - Сэ уэ къыбгурызгъэIуэнщ Iуэхур зытетыр: си фызым сыкъыгурыIуэркъым.

Абы теухуауэ зыгуэрхэр адэкIи жиIэу щIидзащ, гуэныхь зэрилэжьыр езым фIы дыдэу ищIэж пэтми. Зыгуэрым щыхьауэ ягъэбийуэ псэу гуэрхэм щыжаIэ щыIэщ: «Си бийращ япэ къыщIэзыдзар!» Зэщыхьэ щыщыIэр зыгуэр къыщыпщыхьэм дежщ. Иджыри къэс зы цIыху щыIакъым езыр япэ зыгуэрым щыхьауэ, пэжкъэ? Адрейращ дапщэщи къыхэзыдзэр. Ауэ сэ вжесIэну сыхуейщ зыгуэрым ущыхьэныр зыгуэр букIыным нэхърэ Тхьэм дежкIэ зэрымынэхъыфIыр! Щхьэ фымыгъэувыIэрэ? «Сыт сэ сщIэн хуейр?» - фыщIоупщIэ фэ. Сэ вжесIэнщ фщIэнур: «Гуэныхь нэрылъагъум фыпыкI!» 

                    ФызэщIэувыIыкIи фызэупщIыж: «Си гъащIэм мытэмэму хэлъыр сыт?

Сыт зыхэзнын хуейуэ схэлъ?» Ар зэхэвгъэкIыным гугъуехь лъэпкъ хэлъкъым! Зэрыгуэныхъыр фэ езым фщIэжу ар адэкIэ влэжьмэ, Хьисэ абы и ужькIэ гущIэгъу къыфхуищIын фи гугъэ? Библием итщ: «Фи гуэныхьхэм фахущIегъуэж. Къуэ кIуэдам и гъащIэ блэкIар IэщIыб ищIащ. Фэ иджыпсту фызэрыщытым ещхьу Хьисэ деж фыкIуэнкIэ хъунущ: гуэныхьыр къыфтехьэлъэрэ фIэщхъуныгъи фхэмылъу. КIуэдыпIэм фыхуэзышэ псори, нахуэу зэрыгуэныхьыр фэ езым фщIэж псори Iэмал имыIэу зыхэвдзыпхъэщ.

                   Тхыгъэ къысIэрыхьэхэм куэд къахокI цIыхухэм ягу иримыхьу мыр щыжаIэу: «ПхъашэIуэу убгъэдохьэ Iуэхум! Мыбы е мобы гуэныхь лъэпкъ пылъкъым!« ИкIи сэ сызытепсэлъыхьа Iуэху гуэрхэм я цIэр къраIуэ. Абыхэм япкъ иткIэ сэ къысфIощI ди гъащIэм Хьисэ Мэссихь щытепщэным дэ ди напэкIэ дыпэуву. ФыкъэдаIуэт. Зыхэвнын хуейуэ фхэлъ псори зыхэвну фи гъащIэр Хьисэ зэрефтын лIыгъэ фхэмылъмэ, фэ фIэщхъуныгъэ псэум фынэсыфынукъым икIи а фIэщхъуныгъэ псэум фыхэтыфынукъым. Гуэныхь нэрылъагъум фыпыкI!

 

5.  Тхьэм фепсалъэ!

 

Фэ Тхьэм елъэIукIэ фщIэрэ фэ? ГукIэ зэвгъэщIа усэжь цIыкIу къэвбжыфынкIи хъунщ, ауэ тхьэ елъэIуныр-щэ? АтIэ зэвгъащIэ, куэдым Тхьэм елъэIун жыхуаIэр къазэрыгурыIуэр щыжаIэм деж, ар апхуэдизкIэ гъэщIэгъуэнщи, си щхьэцхэр итыжу щытамэ, зыкърасэнт. Зымахуэ унагъуэ гуэрым сыщыIати, унэгуащэм жеIэ: 

-              Аращ, дэри дычыристан хьэлэлщ. КъакIуэт мыдэ, Кларэ цIыкIу!

 Ар жеIэри, анэр илъэсиплI хъу ипхъу цIыкIум йолъэIу: 

-              Уэ фIы дыдэу Тхьэм уолъэIуф, зэхегъэхыт дин пашэм тхьэлъэIу гуэр!

Сабийм къыхидзащ. Ауэ сэ псынщIэу  ар зэпызудащ: 

-              Куэдщ, жумыIэ дин пашэм тхьэлъэIу гуэр. Дунейм тет псомкIэ сынолъэIу, къэгъанэ! Ар тхьэлъэIукъым. Тхьэ елъэIуным къикIыр Хьисэ хэту дэ къытхуеха Тхьэ псэум епсэлъэн хуейуэ аращ, уи гум илъыр Абы хуэпIуэтэнырщ. Фэ езыр апхуэдэу зэгуэр тхьэ фелъэIуа?

                   Робинзон зи цIэ епископ гуэрым тхылъ узижэгъуэн итхащ «НэгъуэщI Тхьэ» жиIэу. Абы щыжеIэ иджырей цIыхум Тхьэм елъэIуным зыри химыщIыкIы-жыххэу. Сэ абыкIэ, дауи, сыарэзыщ. Ауэ ар зи ягъэр тхьэлъэIуракъым, иджырей цIыхуращ! Пэжкъэ? Мо епископ жыхуэсIэм иджырей цIыхур тхьэ елъэIужыфыркъыми, абы щхьэкIэ чыристаныгъэр зэрыщыту нэгъуэщI гуэру игъэпсыжыну хэтщ. Апхуэдэу щыхъуакIэ, сэ жысIэнуращ: «Иджырей цIыхум Тхьэм елъэIуфу щIэрыщIэу зрегъэсэжи, нэхъыфIщ!»

                   Зэгуэр иужь фихьэт Тхьэм фелъэIуну! Мыхэр жыфIэ къудей, нэгъуэщI мыхъуми: «Зиусхьэн, Уэ укъэзгъуэтынымкIэ къыздэIэпыкъу!» Е: «Зиусхьэн, сыкъегъэл!» Е: «Зиусхьэн, фIэщхъуныгъэ пэжым сыхуэшэ!» Е: «Зиусхьэн, си гуэныхьхэр къысхуэгъэгъу!» КъыщIэвдзэ закъуэ! Уи бзэр занщIэу хуэкъута ухъунукъым Тхьэм елъэIуным. Языныкъуэ дин пашэхэр апхуэдэу дахэу Тхьэм щIелъэIуфыр а яIэщIэлъ тхылъхэм къызэрыраджыкIар арагъэнщ. Ауэ Iэмал имыIэу щыткъым псалъэ гъэщIэрэщIакIэ Тхьэм уемылъэIункIэ, нэхъыщхьэр Тхьэ псэум депсалъэу къыщIэддзэнырщ. КъыщIэвдзэ закъуэ, Тхьэм фелъэIуу фесэнущ итIанэ!

                   ЗэвгъащIэ: фIэщхъуныгъэр си Зиусхьэнымрэ сэрэ псэкIэ дызэрыщIэнырщ. Абы щыгъуэ узэмыпсалъэу пхуэшэчыжынукъым, пэжкъэ? Абы щыгъуэ сэ Абы сопсалъэ, Езыри сэ къызопсалъэ. Аращи, сэ къыкIэлъыкIуэ упщIэм сынэсащ:  

 

 

6.  Библием феджэ!

 

                   Сыт хуэдэ щIыкIэкIэ Тхьэр цIыхум къызэрепсалъэр? БиблиемкIэщ къызэрепсалъэр! Абы къыхэкIыу, Библием Iэмал имыIэу феджэн хуейщ! «Библием иджы зы цIыхуи еджэжыркъым!» - фогупсыс фэ. Пэжщ, ди жагъуэ зэрыхъунщи! Абы и щхьэусыгъуэм теухуауэ зэгуэр мыр зэхэсхыгъащ. Библием хуэпэж чыристанхэм реформацэм и махуэр щагъэлъапIэкIэ, дапщэщи Лютер и гимныр уэрэду жаIэ – «Узыщыгугъ хъун зыгъэпщкIупIэ» жыхуиIэр. Ар мы псалъэхэмкIэ еух: «Шэчыншэу трырет Псалъэр». ИкIи, мис, чыристанхэм ар «трагъэуващ» тхылъ дапхъэми, IэпэкIэ абы еIусэркъым икIи мыпхуэдэу йогупсыс: «Мес, ар хъарзынэу икIи пэжу тетщ!» Ауэ Лютер зыхуеяр аратэкъым.

                   Унэхэм сыщыщIыхьэкIэ, куэдрэ зэхызох: «ПщIэрэ, зиусхьэн дин пашэ, дэ уеблэмэ диIэщ ди анэшхуэм и анэжым къыщIэнауэ 1722 гъэм къыдэкIа хъуа Библие!» Къахьри сагъэлъагъу апхуэдэ тхылъ, къызэгуихыу зыри зэремыджэр нэрылъагъуу! Сыт хуэдиз пщIэ а Библие зи ныбжь хэкIуэтахэм яхуэзмыщIми, чэнджэщ фызот: ХъыбарыфI  (Инджыл) цIыкIу къэфщэху! Абыхэм языны-къуэхэр си Iэгум хуэдиз хъуркъым я инагъкIэ. Дахэ дыдэу къыдагъэкIа «ХъыбарыфI» тхылъхэр щыIэщ. Апхуэдэ иджырей тхылъ зэвгъэпэщ! 

                   Махуэ къэс зэман пыухыкIа хухэфх абы еджэным. Фи щхьэм ивгъэхьэ абы итыр! Езы Хьисэщ фэ къывэпсалъэр!

                   КъывгурымыIуэххэ щIыпIэхэм фрихьэлIэнри хэлъщ, ауэ фымыпIейтейуэ еджэным адэкIэ пыфщэ. ЩIалэгъуалэм сэ дапщэщи мыпхуэдэу  къагурызогъаIуэ: «Бразилием щыщ  фермер гуэрым къысхуиIуэтэжауэ щытащ ар мы щIыпIэм къыщыIэпхъуам мэз Iуву зэщIэкIэжа щIы Iыхьэ къратауэ зэрыщытар. Жыгхэр ириупщIыкIын, лъабжьэхэр къритхъын, мывэхэр иригъэкъэбзыкIын хуей хъуащ. ИкIи къэсащ абы витIыр щIищIэу вэну щыщIидзэ хъун махуэ. Ауэ лъэбакъуищи ичатэкъым, пхъэIэщэр зыгуэрым щыфIэнам. Сыт фермерым ищIар? Унэм кIуэжу лагъым къихьу мывэхэр, пхъэIэщэри выхэри ядэкIуэу, къигъэуа? Хьэуэ! ПхъэIэщэмкIэ мывэм къыпикIухьри адэкIэ вэным пищащ. Вэныр щызэфIигъэкIам, вагъэм и теплъэр щIагъуэтэкъым. Ауэ дауэ щытми, трисэри зыгуэр тIэкIуи гъавэу къытрихащ! ЕтIуанэ гъэм вэныр тIэкIу нэхъ тынш хъуащ. Иджыри жыг лъабжьэ гуэрхэр къритхъын хуей хъуащ, ауэ Iуэхур нэхъыфIт нэгъабэ нэхърэ. Ещанэгъэм Iуэхур нэхъыфIыж хъуащ.

                    Фэри апхуэдэущ Библием фызэреджэнур. КъыщIэвдзэ закъуэ, маржэ!

Зыгуэр къывгурымыIуэ хъумэ, ар зэкIэ дэвутIыпщыкI. Ауэ адэкIэ пыфщэ!

«ХъыбарыфIым» и япэ псалъащхьэхэм мыпхуэдэ псалъэ фыщрихьэлIэнущ: «Хьисэ Езым и лъэпкъым я гуэныхьхэр ящхьэщихынурэ,  мыкIуэду къригъэлынущ». Фэ жыфIэнщ: «Ар гурыIуэгъуэщ! Ар хъунущ си дежкIэ!» Тхьэм апхуэдэ щIыкIэкIэ, Iэмал ефт Библиер къигъэсэбэпкIэрэ фэ къывэпсэлъэну! Махуэ къэси зэман къыхуэвгъуэт Тхьэм и Псалъэм! ИкIи фелъэIу: «Зиусхьэн! Си акъылыр гъэнэху! КъыздэIэпыкъу къызгурыIуэнымкIэ! Къэгъэнэху си гур, си зэхэщIыкIыр, си псэр!»

                   Мыри щIызгъужынут: Библием фигу щигъэкIыу зыми хуэвмыдэ! Библиер - тхылъ телъыджэщ! Библием нэхърэ нэхъ мыхьэнэ зиIэ, нэхъ узыгъэпIейтей тхылъ щыIэкъым!

                   Сысэлэт щIалэщIэу, Япэ дунейпсо зауэм и зэманым, тIасхъэщIэх сыкIуат зэгуэрым. Пщыхьэщхьэт. Пшапэр зэхэуэу хуежьат. Ауз гъунэм деж сыщыст сэ. Пшапэ кIыфIым хэслъэгъуащ мэз гъунэмкIэ дэуейуэ екIуэкI бийм я пщэфIапIэр. Дигу къэкIыххатэкъым а мэз гъунэмкIэ гукIэ ущызекIуэфыну. Ауэ мо пщэфIапIэ кърашэкIыр кIыфI дыдэ хъуху пэмыплъэу епIэщIэкIри, бийм я щытыпIэхэм я екIуэлIапIэр къыщIигъэщат. Абдеж пщэфIапIэ кърашэкIыр щызекIуэфкIэ, лъэсыдзэри Iэщэ-фащэ зезыхьэхэри кIуэцIрыкIыфынущ. Мыбдежщ бийм я бгъэдыхьэпIэр! Сыт-тIэ абдеж дэ тщIар? А мэзым пхаупщIыкIа гъуэгум дыщысхьу, абы демыуэну тедухуа?

Хьэуэ, а мэз гъуэгум жэщ псом IэщэкIэ деуащ!

                   ФыкъызэдаIуэт: Библиер екIуэлIапIэщ, ерыскъыи Iэщэ-фащи абыкIэ яхуришалIэу чыристанхэр зэригъэбыдэ Тхьэм и гъуэгущ. Ауэ шейтIаныр  апхуэдизкIэ хьилэшыщи, а Тхьэм и гъуэгум къеуэ зэпытщ. ИтIани зы щIалэ зэхэщIыкIыншэжь цIыкIу гуэрым Iумпэмагъ хэлъу жеIэф: «Мыр тхылъ хъурэ сытми!» Профессор губзыгъэхэми Библиер цIыхухэм я IэдакъэщIэкI тхылъ къызэрыгуэкI гуэру къыщIрагъэдзыну хэтщ.

КъывгурыIуа? МыбыкIэ псори зэдэарэзыщ: Библием шэ гуащIэр тегъэлъэлъэн! Ауэ фэ Тхьэм и быну фыщытыну фыхуеймэ, умыкIуэдыжу фыкъелыну фыфIэфIмэ, апхуэдэу щIын хуейуэ жызыIэхэм фемыдаIуэ. Библием фигу щагъэкIыну хэтхэм яхуэвмыдэ! Библием жеIэ ар Тхьэм и Псэ ЛъапIэр зыпкърыхьа, Абы игъэнэхуа цIыхухэм зэратхыжар. Библием феджэмэ, щIэхыу гу лъыфтэнщ Абы Тхьэм и Псэ ЛъапIэр зэрыхэтым.

                   Зэгуэр зыгуэр къысхуэтхьэусыхащ: 

-              Си дежкIэ Тхьэм и Псалъэр псэ зыхэмытым хуэдэщ. Хуабжьу сыхуейт сымыкIуэду сыкъелыну, ауэ Абы и Псалъэм сэ зыри къызжиIэркъым. 

-              Тхьэм Езым и Псэ ЛъапIэр фигу кърилъхьэну Тхьэм фелъэIу! – естащ сэ жэуап. - Хуей хъумэ, илъэс плIанэкIэ махуэ къэси елъэIу: Зиусхьэн, Уи Псалъэр къызгурыIуэн папщIэ, фIэщхъуныгъэкIэ сыкъэхъужын папщIэ, уи Псэ ЛъапIэр тыгъэ къысхуэщI! Уи фIэщ сыщI: Тхьэм къуитынщ уэ жэуап IупщI !

                    Иджы иужьрейуэ вжесIэну сыхуейщ:

 

7. Тхьэм и псалъэм фыщIэт!

 

Тхьэм и Псалъэ къабзэ фыщыщIэдэIуфынум фыкIуэ! Сэ и зэману вжесIэну сыхуейщ Тхьэм и Псалъэ зэIыхьауэ къыщыббгъэдалъхьэ кафедрэхэр нобэ зэрыщыIэр. Си щхьэкIэ, абыхэм секIуэлIарэт жысIэркъым, сыту жыпIэмэ сфIэфIыр «ХъыбарыфIым» и фоупс гухэхъуэрщ, армыхъу псы утхъуа гуэркъым! Фэ занщIэу къывгурыIуэнщ ущиеу къыватыр «ХъыбарыфI» гуфIэгъуэр арарэ армырарэ. Дэни щыIэщ «ХъыбарыфIыр» зыхывэзыгъэщIыфын дин пашэхэр, ущиякIуэхэр, цIыху къызэрыгуэкIхэр. Тхьэм и Псалъэ лъабжьэрщ  фызэдэIуэнур! Сыт къэхъуами, абы едэIуэну хэт цIыхухэм фабгъэдэт. Куэд щIакъым зыгуэрым къызэрызжиIэрэ: 

-              ПщIэрэ, си щхьэрщ псом нэхъапэр!

 Абы жэуапу естыфынуращ: 

-              Уэ фIэщхъуныгъэ псэум укъыхэнэфынукъым чыристанхэм уахэмытмэ, Тхьэм и ПсалъэмкIэ ущаущий щIыпIэхэм уемыкIуалIэмэ!»

                   КIэухыу и гугъу фхуэсщIынщ зэгуэр цIыхугъэ къысхуэхъуауэ щыта цIыхубз зи ныбжь хэкIуэтам. ЩIалэщIэ гуэрым къызжиIауэ щытащ: «Зи ныбжь хэкIуэта цIыхубзым и хъыбар сыт щIэпIуэтэнур!» - жиIэри.

НыбжьыщIэхэм я хьэлыр аракъэ! Сэ сыкъапщтэмэ, а цIыхубзым си гъащIэм мыхьэнэшхуэ щигъэзэщIащ.

Зэман зэхуэмыдэкIэрэ сэ инженерищ сарихьэлIащ, а цIыхубзым и фIыгъэкIэ Хьисэ я фIэщ хъуауэ. Сэ гу лъыстащ а цIыхубзым къаруушхуэ къызэрыпкърыкIым, икIи ар къэслъыхъуащ. И лIыр шахтэм щылажьэу щытат, иджы езыр фызабэт. Абы деж сызэрыкIуам ар щыгуфIыкIащ, икIи фIэщхъуныгъэ иIэ зэрыхъуар къысхуиIуэтэжащ. Эссен и гъунэгъу жылагъуэм, иджы къалэм къыпыхьэжам, щыпсэуащ ар. Зэгуэр ар газетым къыщеджащ Паулус-члисэм дин пашитI къэувахэр цIыхухэм зэрырагъэцIыхунум. Арати, и ныбжьэгъу цIыхубзхэм яжреIэ: «Эссен къыщыхъу нэхъ Iуэхушхуэхэм ящыщщ ар. ДывгъакIуэ абы!». Губгъуэм кIуэцIрыкI гъуэгумкIэ ежьащ Эссен кIуэну. Паулус-члисэм нэс гъуэгуанэ кIыхьыфI дэлът. Ахэр щынэсам, Паулус-члисэшхуэм IэпэдэупIэ имыIэу цIыхур щIэзт. Псоми я щIыбагъ къыдэуващи, зы дин пашэ кърагъэцIыху - ар Эссен пщIэшхуэ щызиIэ Юлиус Даммант. ЦIыхубзым мыпхуэдэу къиIуэтэжащ: 

-              Юлиус Дамман япэ дыдэу кафедрэм къихьэри, псалъэ къеджащ: «Тхьэм дунейм и цIыхухэр апхуэдизкIэ фIыуэ илъэгъуати, Езым и Къуэ закъуэр итащ, Тхьэм и КъуэмкIэ фIэщхъуныгъэ зиIэ дэтхэнэри мыкIуэду къелын икIи мыкIуэдыжын гъащIэ иIэ хъун щхьэкIэ». 

ИтIанэ ипэкIэ зыкъигъэщхьри жиIащ: 

-              Библием ит псалъэ минищэхэм сэ «кIуэдыну» псалъэм нэхъ сызыщышынэ яхэткъым. Тхьэм уемыджэурэ, игъащIэкIэ ухэкIуэдэнкIэ хъунущ. Ар жыхьэнмэщ!

-              Абы щыгъуэ сыхъыджэбз щIалэт, сыздэщытри мо члисэшхуэм и щIыхьэпIэ дыдэм дежт. НэгъуэщI зыри зэхэсхыжакъым. Сэ щыблэ къызэуам ещхъу къысхыхьащ: сэри сыхэкIуэдащ! Сэри Тхьэм секIужакъым! Сэри си гуэныхьхэр къысхуэгъуакъым! Сэ Тхьэм срибынкъым! Сэ сыкIуэдащ! ПщIыхьэпIэм сыхэтым хуэдэт, унэм сыщыкIуэжам. Махуищ дэкIауэ, си адэр къызоупщI: «Уэ зыгуэр къоузрэ?» - жеIэри. Абдеж ар и ужь йохьэ къэхъуар и адэ-анэм ягуригъэIуэну. «Уэ уи акъылым уикIащ! Уи псантхуэхэр зэIыхьащ!» Зы цIыхуми къыгуригъэIуэфакъым абы щыгъуэ ар лIэным   хуэдэу зыщышынар: «Сэ сыкIуэдащ!» 

Сэ фи Iуэху дахэ хъуну сывохъуэхъу, ауэ апхуэдэу щыт пэтми, хьэуэ, нэхъ пэжу жыпIэнумэ, абы къыхэкIкIи, сыфхуоупсэ Тхьэм и Псэ ЛъапIэм и къарур вгъэунэхуу «Сэ сыкIуэдащ!» жыхуаIэм къикIыр къэфщIэну. АдэкIэ абы жиIаращ: 

-              Тхьэмахуэ зэхуакуиплIкIэ зыри схуэмыщIэу сыпсэуащ. Ауэ, мис, аргуэру дин пашэ Дамман Тхьэм и хъыбар цIыхухэм яжриIэну зэхэсхащ. ИкIи аргуэру Эссен сыкIуэну сежьащ. Гъуэгур зи кIыхьагъым Тхьэм селъэIуащ. Абдеж къысхуэгубзыгъыжар зы тхьэлъэIу закъуэщ, гимным (уэрэдым) щыщ усэщ: «Зы закъуэщ, зиусхьэн, сызыхуейр: /Уэ укъэсцIыхуфу сыгъасэ!/ Адрей псори абрэмывэу къыстохьэлъэ». 

А тхьэлъэIур жиIэ зэпыту кIуащ ар. Паулус-члисэм нэсащ. Тхьэм и псалъэхэр жызыIэр Даммант. Ихъуреягъыр цIыху Iувт. ТIысыпIэ аргуэру къылъысыркъым, я и кIэкIэ щытын хуей мэхъу. Абы иджыри зэ къытрегъэзэж: 

-              «Зы закъуэщ, Зиусхьэн, сызыхуейр: Уэ укъэсцIыхуфу сыгъасэ!» ИтIанэ абы къыщIегъэщ цIыхухэм жаIэну къызыщIадза уэрэдыр. Ар езым жиIа дыдэр арауэ къыщыщIэкIым, игъэщIэгъуэнтэкъэ: «Зы закъуэщ, Зиусхьэн, сызыхуейр». Ар егупсысащ: «Мыр псоми тхьэлъэIу  уэрэду щыжаIэкIэ, зыгуэр къэхъун хуейщ!» 

Дин пашэ Дамман кафедрэм къохьэри, «ХъыбарыфIыр Иуан къызэриIуэтам» щыщ тхыгъэ къоджэ: »Хьисэ жеIэ: Сэ сыбжэщ. СэркIэ къыщIыхьэр къелынущ. Iэмин». 

ЦIыхубзым мыр жиIэжырт иужькIэ:  

-              Иджы етIуанэу члисэм сыщIэтти, а зы псалъэм фIэкIа нэгъуэщI зэхэсхыртэкъым аргуэру, сыту жыпIэмэ а зы напIэзыпIэм сэ къызгурыIуащ: Хьисэщ лIахэм къахэтэджыкIыжар - ар гъащIэм и бжэщ! А бжэмкIэ сыщIыхьащ сэ. Дин пашэм жиIа псалъэхэм щыщу нэгъуэщI зэхэсхыжакъым а махуэм, а зэхэсхар си дежкIэ ирикъурт. Сэ гъащIэм сыхыхьат!»

                   Мы хъыбарым куэдрэ къытызогъэзэж, мыпхуэдэу  жызыIэ цIыхухэм сарихьэлIэху: 

-              Сэ члисэм сыкIуэркъым! Сэ абы и хьэуар схуэхьыркъым. Бзухэм  уэрэд къыщраш, жыг пщIащэхэр жъыбгъэм щагъэщхьыщхь мэз щхъуантIэм сыкIуэнщи, нэхъыфIщ». 

Абыхэм жаIэр яхуэздэркъым: 

-              А цIыхубзыр Тхьэм и Псалъэм щIэдэIуну мыкIуэгъатэмэ, игъащIэкIэ фIэщхъуныгъэ псэум нэсынтэкъым!

                  Сыт тщIэн хуейр? Фи фIэщхъуныгъэ кхъахэр къэвгъанэ! Гуэныхьыншэу зыкъыфщыхъужыныр зыхэвн! Тегушхуэныгъэ хэлъу лъэбакъуэ фчы! Гуэныхь нэрылъагъум фыпыкI! Тхьэм фепсалъэ! Библием феджэ! Тхьэм и Псалъэм фыщIэт! «Сыт тщIэн хуейр?» упщIэм жэуап естын хуейти, жэуап мыIейхэр естащ, ауэ нэхъ мыхьэнэ зиIэ дыдэр псалъэ зытIущкIэ щIызгъужын хуейщ.                    Нэхъыщхьэу, псори зэлъытауэ щытыр дэ длэжьыр аракъым, ар сыту Iуэхугъуэшхуэу щытами. Псори зэлъытар Тхьэм дэр щхьэкIэ ХьисэкIэ илэжьарщ! Аращ хъыбар гуфIэгъуэу сэ фхуэсIуэтэну сызыхуейр: «Хьисэ псом щхьэкIи псори илэжьащ! Ар ди деж къехащ. Абы дэ лIахэм дакъыхигъэтэджыкIыжащ. Ар фэр щхьэкIэ Тхьэм и ижьырабгъумкIэ къыщысщ. Ар и мэлхэр зыхуэныкъуэ псори яхуэзыщIэ Iэхъуэ хьэлэлщ. Уэрэд лъапIэ 22-нэр мыбы щыхьэт щытохъуэ: «Зиусхьэныр си Iэхъуэщ, сэ зыри сыхуэныкъуэнукъым...»  АдэкIэ абы къыщребжэкI Iэхъуэ Хьэлэлым къыхуищIэ къомыр кIэухыншэу. Сэ сызыхуейр фэри мыпхуэдэу жыфIэфынырщ: «Зиусхьэныр - си Iэхъуэщ!»

 

 

СЫТ ТХЬЭМ ЗЫРИ ЩIЫЖИМЫIЭР?

 

                          Дунейм цIапIагъэ куэд щалэжь!

Сыщымыуэмэ, мыр къыщыхъуар 1937 гъэрщ. Эссен и уэрамхэм срикIуэу илъэс 16 зи ныбжь щIалэ сыхуэзащ, хуабжьу нэщхъейуэ.

ЩIалэгъуалэм сащыдэлажьэм нэIуасэ къысхуэхъуа гуэрти, сэ абы сеупщIащ: 

-              КъыпщыщIар сыт? - жысIэри. 

-              Сэ лъэщыгъэкIэ сымаджэщым сыщIагъэгъуалъхьэри си лыпэр паупщIащ, си анэр зэрыжуртым щхьэкIэ, - жэуап къызитащ абы. - Унэм сыкъыщыкIуэжам, си адэ-анэр щыIэжтэкъым. 

Абы ахэр зэи илъагъужакъым. Адэр ягъэтIысащ. И анэр Аушвиц щыIэ концлагерым яшащ! Сэ схузэфIэкIынурати, щIалэщIэр Голландием згъэIэпхъуащ.       

Абы икIри, ар Америкэм кIуащ. Ауэ сэ зэи сщыгъупщэнкъым а зыщIэнур  зымыщIэжу къэна щIалэщIэм и теплъэр: «Сэ лъэщыгъэкIэ сымаджэщым сыщIагъэгъуалъхьэри си лыпэр паупщIащ - си анэр зэрыжуртым щхьэкIэ. Унэм сыкъыщыкIуэжам, си адэ-анэр щIэсыжтэкъым!» Апхуэдэ Iуэху мелуан бжыгъэкIэ къэхъуащ! ИкIи абдеж ущIэупщIэ мэхъу: «Тхьэр-щэ?!» «Тхьэр дэнэ щыIа? Тхьэм сыт зыри щIыжимыIэр?»

         Нэмыцэ усакIуэ щэджащэ Фридрих Шиллер и «ГуфIэгъуэ» одэм  мыпхуэдэ сатыр хэтщ: «Къуэшхэ, фIыуэ фыкъэзылъагъу ди Адэр вагъуэхэм ящхьэжкIэ щопсэу!» Ауэ иджырей цIыхум ар зэрыжиIэнкIэ хъунур нэгъуэщIущ: «Къуэшхэ, фIыуэ дыкъэзылъагъу ди адэр вагъуэхэм ящхьэжкIэ щыхьэдэщ.»

         Мыпхуэдэ упщIэхэр: «Тхьэр дэнэ здэщыIэр?»  «Абы ар къимыгъэхъуну сыт зыри щIимыщIэр?» «А Iуэху узижэгъуэнхэр къыщыхъукIэ абы зыри щIыжимыIэр сыт?» - зи щхьэм къищхьэрыуэхэр мыпхуэдэ гупсысэ  шынагъуэми хуэкIуэнкIэ хъунущ: «АтIэ щымыIэххэу арауэ пIэрэ Тхьэр? Уафэм зыри темысынкIи мэхъу! Атеизмэм жиIар арауэ пIэрэ-тIэ пэжыр?!» Си ныбжьэгъухэ, апхуэдэ гупсысэ зи щхьэр къихьэр гужьеин хуейщ:

узижэгъуэнт Тхьэр пэж дыдэу щымыIамэ. Абы щыгъуэ дэ - цIыхухэмрэ бзаджэнаджэхэмрэ - дэр-дэру дыкъызэхуэнэнут, Iэжьэгъу дяку дэмыту. Абы щыгъуэ дэ я унэ гъуэгур зымыгъуэтыж сабий гъуэщахэм дахуэдэнут. Тхьэр щымыIэуи? Ар шынагъуэу мэIу. Фэ езым къывгурыIуэжыркъым абыкIэ жыфIэр! Абы и щIыIур нэщIщ! Дэ ди щхьэ дыкъыхуэнэжащ!  Зыр адрейм дэр-дэру дыпэщIэтщ! ЦIыхум дежкIэ езы цIыхум нэхъ шынагъуэ щыIэкъым, пэжкъэ? Рим дэсхэм псалъэжь яIащ: «ЦIыхур цIыхум хуэдыгъужьщ»  жиIэу.

Узижэгъуэнщ!

         Сэ, дин пашэм, цIыхухэм мыпхуэдэ упщIэхэмкIэ зэрызыкъысхуагъазэм и бжыгъэр схужыIэнукъым: «Тхьэм ар къимыгъэхъуну сыт зыри щIимыщIэр? А псом щхьэкIэ Абы щхьэ зыри жимыIэрэ?» ИкIи апхуэдизрэ абыкIэ къыщызэупщIкIэ, сэ сыхуейщ иджыпсту а упщIэм жэуап естыну.  Ауэ япэ зыкъизгъахуэу мыр жызмыIэу хъунукъым: Сэ Тхьэм сриIуэхузехьэкъым. Абы и планхэр сэ дзыхь къысхуищIакъым, къызжиIэури сигъэтхакъым. КъывгурыIуэрэ а жысIэр? Тхьэр къызгурыIуэнущ жыпIэу бгъэувыныр делагъэ хъунт. Сэ къызгурыIуэну Тхьэр, и нэм нэсамэ, ущиякIуэу е суперинтенданту щытыфынт. Ахэр иджыри къызгурыIуэнт сэ. Ауэ сэ къызгурыIуэнур Тхьэуэ щытыфынукъым. Библием и зы щIыпIэ гуэрым Тхьэм щыжеIэ: «Сэ си гупсысэхэр фэ фи гупсысэкъым, фэ фи гъуэгухэри - Сэ си гъуэгукъым». Уи фIэщ хъун хуэдэу жиIакъэ.

         Ауэ, дауэ хъуми, Библием къисхащ зы щIэныгъэ гуэрхэри, сыхуейт зэрысхузэфIэкIкIэ «Тхьэм сыт зыри щIыжимыIэр?» упщIэм и жэуапыр фэстыну.

 

 

1. Пхэнжу гъэува упщIэ

          

Япэрауэ, жысIэн хуейщ «Тхьэм сыт зыри щIыжимыIэр?» упщIэр пхэнжу зэрыгъэувар. Абы и гъэувыкIэмкIэ къыпщыхъункIэ хъунщ хьэкум щащIэ пэшым хьэкумыщIэ шэнтжьейхэм Шульце гуащэмрэ дин пашэмрэ Бушрэ исхэу, ягъэкъуаншэхэм я тетIысхьэпIэм Тхьэр тесу. ИкIи  дэ жыдоIэ: «Зи хьэкум ящIэ Тхьэ, дауэ Уэ а къэхъу псор къэхъуну хуит пщIырэ? Щхьэ зыри жумыIэрэ?» Сэ щхьэтехауэ вжесIэн хуейщ мыр: «ЩыIэкъым апхуэдэ Тхьэ, дэ хьэкумыщIэ шэнтжьейхэм дригъэсу Езыр зи хьэкум ящIэхэм я тетIысхьэпIэм тетIысхьэну!»

         Сигу къокIыж дин пашэу лэжьэн щIэздза къудейуэ къэхъуа Iуэху делагъэ гуэр. Сэ илъэс 27-рэ сыхъуу арат, Эссен къалэм сыкъэкIуа къудейт, мыбы шахтерхэм Iуэху ящIэн хуэмейуэ бырсыр ящIэу къалэ псор зэрызехьэу. 

         УтыкушхуэмкIэ сыблэкIырт зэгуэр. ЦIыху гуэр сабын зэрылъа ашычым тету ихъуреягъкIэ къеувэкIа цIыхухэм ину къахопсэлъыхь. Ар топсэлъыхь сабий мэжалIэхэм, улахуэ мыхьэнэншэхэм, лэжьапIэншагъэм. Абдеж сэ сыкъелъагъу, сыкъецIыхури кIийуэ щIедзэ: «А-а, мис дин паши! КъакIуэт, къакIуэт мыдэ!» Сэ щэныфIэу сыщрагъэблагъэкIэ, хьэуэ хэслъхьэу си хабзэкъым. Мис иджыри гуп зэхэтым сабгъэдохьэ. ЗэлъыIуокIуэтхэри, гъуэгу къызат, сэри къэпсалъэм дежкIэ сокIуэ. Си хъуреягъкIэ шахтер щэ бжыгъэхэр щызэхэтщ. ТIэкIу Iэнкун сыкъэхъуащ. Университетым сыщыхуагъэхьэзыратэкъым мыпхуэдэхэм деж зэрызысщIынум. Модрейм къыхидзащ: 

-              КъэдаIуэт мыдэ, дин пашэ! Тхьэр щыIэр пэжмэ, сэ абы сыщыгъуазэкъым, ауэ щыIэнкIи хъунщ, сылIэу щытмэ, Абы и пащхьэ сихьэнщи, жесIэнщ, - абдеж абы кIиин щIидзащ: «Сыт уэ цIыхухэр зэуапIэ губгъуэхэм щызэхаупщIэтэну хуит щIэпщIар? Языныкъуэхэм шхыну яIэр яхуэмышхыжу пхъэнкIийм щыхадзэжым деж нэгъуэщI сабийхэр шхын щхьэкIэ лIэныр щхьэ хуит пщIар? ЦIыхухэр рак узым ихьыныр щхьэ хуит пщIар? Сыт?! Сыт?!» НэгъуэщIи жесIэнщ Абы: «Уэ, Тхьэ, зыIуегъэх! Зегъэхъ адэ! ЗыгъэкIуэд!» 

Мис апхуэдэурэ кIийрт а цIыхур... Абдеж сэри сыкъэкIиящ:  

-              Пэж дыдэщ, ирекIуэд а Тхьэр! ИрекIуэд а Тхьэр! 

ИхъуреягъкIэ щым хъуащ. Къэпсалъэм игъэщIагъуэу жеIэ: 

-              Зэт! Уэ удин пашэкъэ! Уэ жыпIапхъэкъым «ИрекIуэд а Тхьэр!» жыпIэу

! 

-              Мыдэ къэдаIуэт! – жэуап естащ сэ. - Апхуэдэу зи пащхьэ укъыщыпсалъэ, зи пащхьэм апхуэдэу уи жьэр щызэщIэпх, ягъэкъуаншэр хьэкум пащхьэм зэритым хуэдэу уи пащхьэ къитын хуей Тхьэ уэ уи акъылкIэ къыбогъэщI, армыхъу, нэгъуэщI щIыпIэ щыIэкъым. Апхуэдэм сэри жесIэфынущ: «ИрекIуэд а Тхьэр!» ИрекIуэд а Тхьэ делэу ди лъэхъэнэм къигъэщIар - дигу къыпылъэдэ-хункIэ дгъэкъуанши, лъэныкъуэ едгъэзи, къызэдгъэгъэзэжи хъур! Апхуэдэ Тхьэ щыIэкъым! Ауэ сэ нэгъуэщI зыгуэр жысIэну сыхуейщ: щыIэщ нэгъуэщI Тхьэ нэс! Абы и пащхьэм уэ ягъэкъуаншэу укъихутэнущи, абы щыгъуэ уэ жьэ къудей пхузэщIэхынукъым, сыту жыпIэмэ Ар къоупщIынущ: «Сыт уэ Сэ пщIэ къыщIыс-хуумыщIар? Сыт уэ сэ укъыщIызэмыджар? Сыт уэ къабзэлъабзэу ущIэмы-псэуар? Сыт уэ пцIы щIэбупсыу щытар? Сыт уэ плъагъу мыхъуу щIыщытар? Сыт уэ уащыхьэу щIыщытар?  Сыт уэ ...»  Мис апхуэдэурэ къоупщIынущ Ар. Мис абы щыгъуэ псалъэхэр уи тэмакъым тенэнущ! ИкIи упщIэ миным ящыщу зы закъуэми жэуап пхуетынукъым! ЩыIэкъым апхуэдэ Тхьэ - «Зегъэхъ!» жепIэ хъуну. Ауэ щыIэщ Тхьэ лъапIэ, псэу, нэгъэса, икIи Абы зэгуэр Езым къыджи-Iэфынущ: «ЗбгъэдэкI!» 

         Фэри мыр вжесIэнут: цIыхухэм Тхьэм гукъанэ хуащIу зэхэфхмэ: «дауэ ар къэхъуну Тхьэм хуит щIищIыр?  Тхьэм сыт зыри щIыжимыIэр?» - жаIэмэ, яжефIэжынуращ: «Дэ Тхьэр тхуэгъэкъуаншэу щытыгъамэ, ар Тхьэ

акъылыншэт, къэгупсысат! Зы Тхьэ лъапIэ закъуэщ щыIэр, дэ дигъэкъуаншэу - фэри сэри!» Тхьэм и унафэм фытета? Фэ дауэ къыфщыхъурэ? Езым и унафэхэр гъэзэщIэным Тхьэр унафэм кIэлъоплъ. Дэращ ягъэкъуаншэр, Тхьэр аракъым!

         И щхьэр течауэ вжесIэн хуейхэм мыр япэщ: упщIэр пхэнжу гъэуващ!           Иджы, етIуанэр:

 

2. Тхьэм и щымыгъэр – Абы и тезырщ

 

         «Сыт Тхьэм зыри щIыжимыIэр?» Пэжщ, Тхьэр куэдрэ щымщ, Тхьэм и щымыгъэри дэркIэ я нэхъ тезыр гуащIэ дыдэщ!

         Сэ хьэкъыпIэкIэ си фIэщ мэхъу жыхьэнмэ зэрыщыIэр. Ауэ ар сурэт куэдым къызэрыщагъэлъагъуэм зыкIи екIуалIэркъым - псэхэр мафIэм щызыгъажьэ шейтIаным хуэдэу е нэгъуэщI делагъэ гуэрхэу. Сэ къызэрысфIэщIымкIэ, жыхьэнмэр Тхьэм цIыхухэм къажриIэн нэгъуэщI щимыIэжым деж а цIыхухэр зэрыхуэ щытыкIэрщ. Мис абы щыгъуэ абыхэм джэуэ щIадзэнущ, абы щыгъуэ ахэр Тхьэм елъэIунущ, кIиинущ - ауэ Абы афIэкIа жэуап къаритынукъым! Урыс тхакIуэ Достоевскэм зэгуэр жиIэгъащ: «Жыхьэнмэр Тхьэр афIэкIа зыхуемыплъэкIыж щIыпIэщ» пэж дыдэу, Тхьэм дыкъыщибгынаращ ар. Тхьэм и щымыгъэри дэркIэ тезыр гуащIэ дыдэщ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, Тхьэм зыри щыжимыIэм деж, жыхьэнмэм мы дунейм къыщыщIедзэ.

         Абы ехьэлIауэ Библием ит зы хъыбар ныфхуэсIуэтэну сыхуейщ. Зэгуэр къалитI щыIащ: Содомрэ Iэморэрэ. Культурэ лъагэ, цивилизацэ дахэ зыдэщыIэ къалэт ахэр. Тхьэр Iумпэм ящIыртэкъым абы дэсхэм. Дин пашэхэри яIагъэнщ абыхэм, ауэ мыхьэнэншэу къыщIэкIынут ахэр. Ауэ Тхьэр кърадзащэртэкъым. Я хьэгъуэлIыгъуэхэмрэ хьэдэщIэлъхьэхэмрэ деж Тхьэр ягу къэкIыж къыщIэкIынт иджыри, ауэ адрей зэманхэм Абы хуейтэкъым. Абы и унафэ псоми фIэкIырт. Содом пэжыгъэ зигу илъ цIыху гуэр дэсащ Лот и цIэу. Зэман-зэманкIэрэ абы жиIэрт: «Тхьэм апхуэдэу ухущыт хъунукъым! ЗыкъэвмыгъэпцIэж, Тхьэм лей тезагъэркъым! ЦIыхум хьэсэм трисэрщ къытрихыжынур!» «Ау-уей, - жэуап къратыжырт цIыхухэм, - умыгушыIэ! Уэ удин пашэ-тIэ! Къэгъанэ а делагъэ къыупсэлъыр - цIыхум хьэсэм трисэращ къытрихыжынур! - жыхуэпIэр». Ауэ зэгуэр, нэхущым, Тхьэм а къалэхэм тхъуэбзащхъуэ уэшх къахигъашхэри уафэмкIэ къикIыу мафIэлыгъэ къахидзэжащ. Апхуэдэм деж къэхъур дэ дгъэунэхуакIэщ, зауэ зэманым бомбэ къытхадзэурэ. Ауэ Тхьэм ар илэжьын папщIэ, кхъухьлъати хуей хъуркъым. Сэ си нэгу къыщIызогъэхьэ цIыхухэр пIэм къыхэлъэтурэ «ЩIыунэм фынех!» жаIэу зэрызэрыгъэкIияр. Ауэ щIыунэхэри хьэкум хуэдэу къоплъ. АдэкIэ яхуэхьыжыркъым. Аргуэру зэрогъэкIий: «ФыникI мыбы!» Къызэрихащ. Ауэ щIыбым дэнэкIи тхъуэбзащхъуэ уэшхрэ мафIэлыгъэрэщ. ЦIыхухэр хэкIыпIэншэщ: щIыунэм къикIи хъуркъым, къинэу щытми, имэхыхьынущ. А псом тотхыхьыж Библиер. Сэ си нэгу щIэтщ цIыху зэмыщхь куэд гупу зэщIыгъухэр: мес цIыхубз ныбжьыщIэ, Тхьэр хьэлэлыжьу, псори къыпхуигъэгъуу къилъытэу щытауэ, абы къыхэкIкIи Абы пщIэ лъэпкъ хуимыщIауэ; зиусхьэн зи ныбжь хэкIуэтар, шагъыр лIэужьыгъуэу щыIэр, зы тIэкIу еIубамэ, зэхигъэкIыфу зи нэIуасэр. Ари Тхьэм зыкIи ебийртэкъым, ауэ икIи Ар зыкIи къыфIэIуэхуртэкъым. Мис апхуэдэ цIыхухэр зэгъусэу ист щIыунэхэм: цIыху хъарзынэхэр, пэжхэр, хьэкътын ахъшэр дапщэщи и зэманым зытхэр. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми езым и щэху иIэжт, мис иджыпстуи дэтхэнэми езым и щэху иIэжт, мис иджыпстуи дэтхэнэ цIыхуми зэриIэм ещхьу. ЩIыунэр нэхъри къызэщIэплъэ зэпытщ. КъикIыну хуейт, ауэ яхузэфIэкIыркъым, сыту жыпIэмэ ихъуреягъыр укъызэмылын ажалщ. ИкIи абдеж цIыхухэр гузэвэгъуэ щIыIэм зэщIеубыдэ.Зэуэ зиусхьэн гъумыщIэм жеIэ: «ЦIыхухэ, Лот жиIэу щытар пэжщ: Тхьэр пэж дыдэу псэущ!» ЦIыхубз ныбжьыщIэми жиIэращ: «Абы щыгъуэ зыщ дэ къыддэIэпыкъунур: иджыпсту Тхьэм делъэIун хуейщ! Ауэ хэт Тхьэм елъэIукIэ зыщIэр?!» ИкIи мис иджыри къэс зэи зыкъэзымыIэта Iэхэм заIэт (пасэм щыгъуэ я Iэхэр яIэтауэ Тхьэ елъэIурт). Зэуэ къоIу: «Зиусхьэн, гущIэгъу къытхуэщI! Дэ гуэныхь длэжьащ! Дэ Уэ укъытфIэIуэхуакъым! Ауэ дызэхэх! Уэ фIыуэ зылъагъу у-Тхьэщ, гущIэгъу пхэлъщ! Зиусхьэн, гущIэгъу къытхуэщI!» Ауэ Ар щымщ! ЗэщIэгъуахъуэ макъымрэ мафIэр зэрыпIэнкIымрэ я закъуэщ зэхэпхыр. Абы щыгъуэ Iэ Iэтахэр йохыжри, IэштIымхэр зэтракъузэ: »Тхьэ! Сыт Уэ зыри щIыжумыIэр?!» Ауэ зэрыщымщ! МафIэм и макъ закъуэрщ къэIур. Иджыпсту ахэр хуеймэ, Тхьэм ирелъэIу, хуеймэ, ирешхыдэхэ - Тхьэм афIэкIа жэуап къаритыркъым!     Гъунапкъэ гуэр щыIэщ, зы цIыхуи, зы къали, зы лъэпкъи

емыбэкъуэфыну - Тхьэ псэум и зэхэмыщIэныгъэм и гъунапкъэ. Абы лъандэрэ

Тхьэм афIэкIа зэхихыжыркъым е жэуап къитыркъым! Абы щыгъуэ ахэр Тхьэм елъэIуми, хуэшхыдэми - Абы афIэкIа жэуап къитынукъым. Фэ къывгурыIуэрэ а щымыгъэр Тхьэм Содом къытрилъхьа тезыр шынагъуэу зэрыщытыр? Библием итщ Тхьэм теухуауэ: «Сэ фэ сыщывэджэм, фэ жэуап къызэфтакъым» Сыт уэ,  цIыху, Тхьэр къыщоджэм деж зыри щIыжумыIэр? 

Аращи: Тхьэм и щымыгъэр Тхьэм и тезыр нэхъ шынагъуэ дыдэщ!  Ещанэу сэ вжесIэну сызыхуейр, ар:

          

 

3. Нэхъ упэжыжьэху нэхъ мащIэущ зэрызэхэпхыр 

          

Тхьэм зыри жимыIэу гу щылъыттэм деж дэ абы дыпэжыжьэIуэу арагъэнущ!

Куэд мыщIауэ зы щIалэ къызбгъэдыхьэри къызжиIаращ: 

-              Дин пашэ Буш, уэ си пIэм сыкъыбош! Уэ зэпымыууэ Тхьэм утопсэлъыхь. Гъуэгум зыщIыпIэ дыщыпхуэзамэ, аргуэрыжьщи, - Тхьэм и гугъу! Сэ Тхьэр слъагъуркъым, и макъи зэхэсхыркъым. Дауэ-тIэ ар зэрыпсалъэр?  Сэ зыри зэхэсхыркъым!

-              Уэ, шынэхъыщIэ, ущыгъуазэ къуэ кIуэдам и хъыбарым?- жэуап естащ. 

-              Зыгуэрхэр хызощIыкI! - къызитыжащ жэуап. 

-              Зыгуэрхэр щыжыпIэкIэ, къикIыр абы теухуауэ зыри умыщIэу аращ. Сэ пхуэсIуэтэнщ а хъыбарыр. Ар езы Хьисэщ жызыIэжауэ щытар. ЛIы къулей гуэрым къуитI иIэт. Зыр хуэщхьэпсыншэу апхуэдэт. Унэр къезэвэкIырт, абы щIэзагъэртэкъым, гъащIэм къемыкIужу къыфIэщIырт уи унэ уисыжыныр. Махуэ гуэрым и адэм жреIэ абы: «ЛIыжь, уи мылъкум щыщу щIэину къыслъысыр къызэт, ауэ иджыпступцIэщ абы сыщыхуейр, дунейр къызэхэскIухьыну сыхуейщи». Адэм абы жыхуиIэр иритри, мыдрейр ежьащ. АдэкIэ абы теухуауэ хъыбарым жиIэр мыращ: «Абы и мылъкур щIалагъэделагъэм тригъэкIуэдащ». Фэ, дауи, фыщыгъуазэщ - къалэшхуэм ахъшэр псынщIэу щибгъэкIын гъунэжщ. ИкIи мис а ахъшэр къыщыIэщIэухэм ирихьэлIэу гъаблэ къэхъуащ, цIыхухэр лэжьапIэншэ хъуащ. НэгъуэщI хэкIыпIэ имыIэжу, щIалэр кхъуахъуэу увын хуей мэхъу. Израилым кхъуэхэр мыдурыс псэущхьэу къыщалъытэ. Журтым дежкIэ кхъуэ игъэхъуным нэхърэ нэхъ Iуэху Iей бгъуэтынукъым. Ауэ мэжэщIалIагъэм зиубгъуати, кхъуэхэр зэрышхыкI Iэнлъэм ишхын гуэр иригъуэтэжмэ, щIалэр абы щыгуфIыкIыу къэнат. Адэм и макъ абы а здэщыIэм щызэхихынутэкъым. ПэжыжьэIуэу IукIат ар абы. ЩIалэм жиIэфынур мырат: »Си адэм и макъ зэхэсхыркъым».

Ар гурыIуэгъуэщ. Дауи, зэхихыртэкъым! 

Иджы хуит сыкъэфщI а хъыбарым сэ си щхьэкIэ щIызгъуну. Мы жысIэнур Библием иткъым: мис а щIэпхъуэжар и кхъуэхэм ябгъэдэсщ. Ар мэмэжалIэ икIи и адэр егъэкъуаншэ: «Мыпхуэдэ бэлыхь сыхэтыныр дауэ абы игу техуэрэ!»- жери. Апхуэдэу къысщохъу мы иджырей дунейр. Абы Тхьэр ибгынащ, ауэ тхьэмыщкIагъэ гуэр зэрыхэхуэу кIийуэ хуожьэ: «Сыт ар Тхьэм къэхъуну хуит щIищIар ? Щхьэ зыри жимыIэрэ Абы?!» Ауэ Хьисэ нэгъуэщI гуэрущ къуэ кIуэдам и хъыбар зэриIуатэр: абы и гъащIэм къыхохьэ зыкъыщищIэж сыхьэт: «Сэ сызэрыщIэпхъуэжамкIэ сыделэщ! Си адэм гъавэ ирикъун иIэ пэтрэ, сэ шхын щхьэкIэ зызогъэлIэж. Сежьэнщ, си адэм деж сыкIуэжынщи, жесIэнщ: «Си адэ, сэ гуэныхъ злэжьащ!» Аращи, йоуэри мэкIуэж! Адэм ар жыжьэу къыщелъагъури къецIыхуж икIи къыпожажьэ! Къуэ щхьэрыуам абы жреIэ: «Си адэ, сэ гуэныхь злэжьащ!» Адэм абы IэплIэ къыхуещIри, унафэ ещI: «Къыхуэфхь мыбы нэхъ щыгъыныфIу сиIэмрэ Iэлъынрэ, и лъакъуэхэм вакъэ лъыфтIагъэ!» Мис иджы къуэм зэхех и адэм и макъыр. 

-              Тхьэм и макъыр зэхэвмыхмэ, Абы фыпэжыжьэу аращ! Уэ Абы зыхуэбгъэзэн хуейуэ аращ, ар уэ фIы дыдэу къыбгуроIуэ! - жесIащ а щIалэм.

ЦIыхухэр Тхьэм икъу-сыкъужкIэ пэжыжьэнкIэ хъунущ, мис а кхъуэхэм я Iэнлъэм нэс щхьэрыуа щIалэм ещхьу. Япэ дунейпсо зауэм щыгъуэ, Тхьэм нэхъ сыкъыщыбгъэдэкIуэта дыдэм, сылейтенанту, сэ мыр сщIэрт икIи зэпымыууэ сегупсысырт: «Сэ, икIэм-икIэжым, Тхьэм деж зыхуэзгъэзапхъэщ!» Сэ иджыри къыздэсым зэикI цIыху сыхуэзакъым Тхьэм деж зэрызыхуизапхъэр имыщIэу. Зигурэ зи щхьэрэ хуабжьу зэтелъ цIыхубз гуэрым къызжиIат: 

-              Сэ си Iуэхухэр псори зэтетщ, - жиIэри. Ауэ абы сыдэруэршэру езгъажьэри, зиумысыжын хуей хъуащ мыбыкIэ: 

-              Пэжщ, Тхьэм деж сэ зыхуэзгъэзапхъэт! Гуэныхь куэд злэжьащ сэ си гъащIэм къриубыдэу. Зэрыхъуаращи, сэ си гур мывэм хуэдэу жащ!»           Дэ тщыщ дэтхэнэми ещIэ: Сэ Тхьэм деж зыхуэзгъэзапхъэщ! АтIэ сыт ар щIэвмылэжьыр? Зыхуэвгъазэ маржэ, итIанэ фэри зэхэфхынц Адэм и макъыр!

         Иджы си упщIэм - «Сыт Тхьэм зыри щIыжимыIэр?» жыхуиIэм - и къыкIэлъыкIуэ пунктым секIуэкIынщ.

 

 

4. Тхьэм и кIэух псалъэр зэхэтыпхъэщ

 

         Фэ иджыри фыкъэдэIуэфыну? Хьэмэрэ фезгъэшакIэ? Фезэшамэ, ар сэращ зи зэраныр, армыхъу, ХъыбарыфIыркъым. Дин пашэхэм

ХъыбарыфIыр зэшыгъуэ яхуэщIынущ, ар абыхэм яхузэфIокI. Апхуэдэу хъумэ, дэрыншэу фэ езыхэр феджэ ХъыбарыфIым. ХъыбарыфIым узыIэпешэ, фи фIэщ фщIы а вжесIэр!

         Иджыпсту вжесIэнур псом нэхърэ нэхъыщхьэщ: Тхьэр щыму гу лъыфтэмэ, фэ зэхэфхыпхъэщ Тхьэм и КIэух псалъэр! Аращи, Библием зэритым ещхьыркъабзэу зы псалъэуха къыфхуэсхьынщ, ар хуабжьу зэрыубгъуам къыхэкIыу иджыри зэ къытезгъэзэжын хуейуэ къыщIэкIынущ.

Ар Еврейхэм хуагъэхьа тхыгъэм и япэ псалъащхьэм хэтщ: «Пасэ зэманым Тхьэр бегъымбархэм я жьэкIэ куэдрэ икIи зэмылIэужьыгъуэу ди адэжьхэм къепсалъэу щытащ. Ауэ мы зэманым мы дунейм и иужьрей дыдэ махуэхэм, Тхьэр и къуэм и жьэкIэ къыдэпсэлъащ». ФщIэуэ пIэрэ фэ а Тхьэм и Къуэр хэтми? Ар Хьисэщ!

Хьисэ! Аргуэру фIыуэ слъагъу темэм сынэсащ. Си гур нэхъ псынщIэу къоуэ Хьисэ сытепсэлъыхьыну Iэмал щызгъуэтам деж. А Хьисэ Iэпкълъэпкъ зиIэ хъуа Тхьэм и Псалъэщ: «Псалъэр цIыху хъури дэ къытхэтащ».

КъывгурыIуэрэ: дэ зы псалъэ жытIамэ, бахъэм ещхьщи, мэкIуэдыж. Тхьэм и псалъэхэм ящыщ зыр пкъы ищIащ - Хьисэ. Хьисэ Тхьэм и кIэух Псалъэщ! 

Мыпхуэдэ псэлъафэ зэхэфхакъэ: «Си иужьрей псалъэ» жиIэу? Сэ си жэмыр фэсщэну сыхуейт, жи. Фымыгузавэ, сэ апхуэдэ злэжьынукъым! Сэ жэм зэращэ щIыкIэм зыри хэсщIыкIыркъым.

         Ауэ псалъэм папщIэ жытIэнщ си жэмыр фэсщэ хуэдэу. Дапщэ жэмыр зи уасэр? Сэ сщIэркъым. Хуэдгъэфэщэнщ маркэ мину. Фэ жывоIэ: «Маркэ 300 нэхъыбэ уэстынукъым». Сэ къывгурызогъаIуэ си жэмым и уасэ дыдэр жысIэмэ, маркэ 1200-м зэрынэсыр. Абы щыгъуэми фэ маркэ 400 жывоIэ. Сэ здэркъым: 1100-рэ къызэптын хуейщ! Апхуэдэурэ уасэмкIэ дызэдауэурэ, икIэм сэ пызоупщI: «Аращи, маркэ 800-р си иужьрей псалъэщ!» ИкIи сэ псалъэм тебгъуэтэж цIыхуу сыщытмэ, апхуэдэу къэнэнущ, Iуэхури абдеж щиухынущ. Хьисэ Тхьэм и кIэух Псалъэу щытщ! Ар къэвмыщтэмэ, Тхьэм къывжиIэн нэгъуэщI иIэжкъым. КъывгурыIуэрэ? ЦIыхухэм Тхьэр къазэремыпсалъэр, Абы зыри зэрыжимыIэр ягу къыщеуэкIэ, сэ абыхэм яжызоIэ: Тхьэм фэ къывжиIэн нэгъуэщI иIэжкъым, сыту жыпIэмэ фэ Абы и иужьрей Псалъэр къэфщтэн вдэркъым. Фэ Хьисэ къэфщтэн хуейщ!

Армырамэ, Iуэхум къикIын щыIэкъым!

         Сэ куэдрэ мыпхуэдэу жызыIэ цIыхухэм сарохьэлIэ: «Сэри Тхьэр си фIэщ мэхъу. Ауэ Хьиси сыт?» ФыкъэдаIуэт, Хьисэ дэ къытхуэгъэза Тхьэм и иужьрей, Iэпкълъэпкъ зиIэ хъуа Псалъэщ. Абы къикIыр сэ нэхъ иужьыIуэкIэ къывгурызгъэIуэнщ. Ауэ абы щхьэкIэ Хьисэ тIэкIу сытемыпсэлъыхьу хъунукъым. А Iуэхум нэхъ сфIэфI дунейм теткъым!

         Мис Хьисэ цIыху гупым къаувыхьащ. Ар абыхэм ядоуэршэр. Абдеж цIыхухэм я щIыбагъымкIэ зэрызехьэ гуэр къыщохъу. ЦIыхухэр мэпсалъэ, мэпIейтей. Хьисэ псэлъэныр щегъэт: «Къэхъуар сыт?» Къэхъуар узижэгъуэнщ: фаджэ уз зыпкърыт цIыху къахыхьащ. А фаджэр зищIысыр фщIэуэ пIэрэ? ЦIыхур зэрыпсэууэ мэф. Абы уеплъыну гущыкIыгъуэщ - шыным зэщIищта тхьэкIумэхэр, пэр, Iупэхэр. Фаджэр апхуэдизу уз зэрыцIалэщи, ар зэузым и Iубахъэ къудейр къыпщIихун фIэкIа хэлъкъым, укъицIэлэн щхьэкIэ. Абы къыхэкIкIи а узыр зыпкърытхэр щIыпIэ нэщIхэм щыпсэун хуейщ. Ахэр цIыху узыншэхэм къахыхьэ хъунукъым. ИкIи, мис, апхуэдэ фаджэ уз зыпкърытыр цIыхухэм къахыхьащ! Абы Хьисэ и хъыбар зэхех икIи ар имылъагъункIэ Iэмал имыIэу мэхъу: «Сэ Хьисэ сыIуплъэну сыхуейщ!» ИкIи, мис, ар къокIуэ. ЦIыхухэр абы пыIуокIуэт, зыщадзей икIи къыщIокIие: «Ей, дахэкIэ IукI мыбдеж! Зегъэхъ адэ!» Абыхэм мывэ къапхъуатэурэ къыхуагъэдалъэ. Ауэ мыдрейр яхуикIуэтыркъым. Сэ слъагъу хуэдэщ цIыху зэгуэпахэр зэрызылъыIукIуэтыр, икIи абыхэм къагъэхъуа дэкIыпIэмкIэ сымаджэр Хьисэ гъунэгъуу зэрыбгъэдыхьэр. Хьэуэ, ар Хьисэ и пащхьэ иткъым, ар абы и лъапэхэм деж сабэм хэгъуэлъхьауэ и нэпсхэр къежэхыу и гуауэр

КъегъэлакIуэм хуеIуатэ: «Сэ си гъащIэр зэIыхьащ! Хьисэ, Уэ ухуей закъуэмэ, сэ сыбгъэкъэбзэжыфынущ. КъыздэIэпыкъу!» ФщIэрэ, зи гъащIэр зэтекъутэ цIыхумрэ Тхьэм и Къуэ КъегъэлакIуэмрэ Iэмал имыIэу зэхуэзэн хуейщ! Апхуэдэущ зэрыхъун хуейр: ди насыпыншагъэр Хьисэ и пащхьэм итлъхьэн хуейщ! Ей, сытым хуэдэу сыхуейт сэ фэ «дин Iуэху тIэкIу зыхэлъкIэ» фызэджэ псори IэщIыб фщIыуэ фи насыпншагъэр Хьисэ хуэфхьыну. ИкIи мис, а фаджэ уз зыпкърытыр Хьисэ и пащхьэ илъщ: «Уэ ухуей закъуэмэ, сэ сыбгъэкъэбзэжыфынущ!» Абдеж къэхъур сэ телъыджэлажьэу къысщохъу. Хуэбгъэфащэ хъунут Хьисэ мы цIыху наджэIуджэм лъэбакъуэкIэ пыIукIуэту жиIэну: «Ерэхъу! Къэтэдж! Къабзэ хъуж!» Хьэуэ, аракъым Абы илэжьыр. Хьисэ зы лъэбакъуэ абы къыхуечри, и Iэхэр сымаджэм и щхьэм къытрелъхьэ! ЦIыхухэр гужьеяуэ къыхокIиикI: «Фаджэ зэузым еIусэ хабзэкъым!» Библием жеIэ: «Хьисэ абы еIусащ». Сыт хуэдэ гущыкIыгъуэри Iумпэм ищIыркъым Хьисэ! Сыт хуэдэ гуауэри Абы дежкIэ иныIуэ хъуркъым! Абы и Iэр абы трелъхьэ! Сэ сынэгъуэщI Вильгельм Бушу - сысурэтыщIу щытамэ, ар мыпхуэдэу къэзгъэлъэгъуэнт: Хьисэ и Iэхэр фаджэ уз зыпкърыт цIыхум и нэкIу зи щIылъэныкъуэр зыхэмылъыжым, адрей лъэныкъуэ фым телъу. Апхуэдэщ Хьисэ - лъэхъэнэм и телъыджэр. ИкIи  иджыпсту мыбдеж псоми Iумпэм ящI гуэр щыIэмэ, Хьисэ абы и Iэр къытрелъхьэри, жеIэ: «Сэ уэ укъэсщэхужащ, уэ узызейщ». Мыбдеж гуэныхьым и фаджэ узым бэлыхь хигъэт гуэр щыIэмэ, Хьисэ абы и Iэр трелъхьэри, жеIэ: «Къабзэ хъуж!» ХьисэкIэ Тхьэм и лъагъуныгъэр щызу къос ди деж, ди гуауэхэм, ди гуэныхьым, ди фIеягъэм, ди узым къалъоIэс! Хьисэ Iэпкълъэпкъ эиIэ хъуа Тхьэм и Псалъэщ. ИтIани цIыхухэм яхужоIэ: »Сыт Тхьэм зыри щIыжимыIэр?»

- жаIэу. Апхуэдэ щIыкIэкIэ Тхьэр гурыIуэгъуэу икIи дахэу къыдэпсэлъакIэкъэ? Ар Тхьэм и псэлъэмакъкъэ?!

         ИкIи мис зэгуэр а Хьисэр жорым траIулIэ: и Iэхэри и лъакъуэхэри гъущI IунэхэмкIэ ираIулI. ИтIанэ жорыр иратIэ. Жорым и хъуреягъкIэ цIыхухэр щызэрызохьэ. Рим зауэлIхэм цIыхухэр IуагъэкIуэт. ФынакIуэ, а гупым дахэвгъэхьи, дэри жор лъабжьэм дыщIэвгъэувэ! Iуплъэт Абы - Голгофэ и Бэлыхь шэчакIуэм! И натIэ уIэгъэ лъы защIэу пыжьей банэ ухуэна ауаныщIу къызыфIалъхьа Абы и фэм икIыр наIуэу къощ. Феплъыт Абы! ФеупщIыт Абы: «Сыт мыбдеж ущIыфIэлъыр?» Абы жэуап къывитынщ: «Уэ Тхьэм и пащхьэ  узэрыщыкъуаншэр аращ. Абы пэкIуэ тезырыр, е уэ жыхьэнмэм щыпшэчынущ, е Сэ мыбдеж уи щIыхуэр щыспшыныжынущ. Хэтми зыгуэрым ишэчын хуейщ тезыр! Уэ уи пIэкIэ сэ схьыну сыхуейщ ар. Иджы щыщIэдзауэ уи фIэщ сыщI Сэ!»

         Иджыри сыныбжьыщIэу сэ къызгурыIуащ Ар – дуней псом, абы сэри сыхэту, ди гуэныхьыр зышэча Щынэу зэрыщытыр. Мыбдеж Абы си гуэныхьыр щысщхьэщихащ, мыбдеж Абы Тхьэм сыщригъэкIужащ, Тхьэм и пащхьэ сыкъыщищэхужри, си щIыхуэр схуитыжащ икIи занщIэу си гур жорым деж схьыри жысIащ: «НэгъуэщI хэт сэ зытезухуэн,/ жорым зи лъыр щыщIэжа Пащтыхь,/ Уэ уи къурмэнщIыпIэм нытезмылъхьэу/ си лъи, си пкъи, си гуи сызэрыщыту».

         Хьисэ къырым къыхаIущIыкIа кхъэлэгъунэм щIалъхьэ. Абы и щIыхьэпIэм мывэ пIащIэшхуэ Iуагъэувэж. Рим заулIхэр хъумакIуэу ягъэувыж. ИкIи махуэ ещанэм, пщэдджыжъым жьыуэ, атом бомбэ къэуам хуэдэу нэху къэхъуащ. АпхуэдизкIэ нэху къэхъуати, зауэлI щIалэ хъыжьэхэр, хъыджэбз гужьеигъуафIэхэм ещхьу, къэмэхри джэлащ. Иужьрейуэ абыхэм ялъэгъуар Хьисэ щIыхь пылъу кхъэлэгъунэм къызэрикIыжырщ. 

Сэ фхуэсIуатэр шыпсэкъым. Мыр щIывжесIэр Хьисэ лIахэм къазэрыхэтэджыкIыжар сощIэри, аращ. Фэр папщIэ лIа Хьисэр псэущ! Зы цIыхуи щыIэкъым, абы и пIэкIэ Хьисэ мылIауэ! А Хьисэри псэущ. Тхьэм и иужьрей псалъэу щыткIэрэ, Ар фэ къыводжэ! Къэфщтэну фэ Ар – ар фи гъащIэм и упщIэ нэхъыщхьэщ!

         «Сыт Тхьэм зыри щIыжимыIэр?» Тхьэр щымыххэкъыми, си ныбжьэгъухэ. ЖеIэ абы. Абы и Псалъэр «Хьисэщ»! Абы къокI: лъагъуныгъэ, нэфI щыхуэныгъэ, гущIэгъу!

         Сэ си гъащIэм къыщысхуихуащ сыхьэт шынагъуэхэу нацистхэм я лъэхъуэщым сыщисамрэ бомбэ кърадзыхым сыщыхэхуамрэ. Сигу къызогъэкIыж я нэхъ шынагъуэ дыдэу щытахэм ящыщ зы. Гужьеигъуэм и кIий макъыр си тэмакъым тенат, бомбэ кърадзыхыу зы пщIантIэ гуэр сыщыдашам. Си хъуреягъкIэ хьэдэу 80-м нэс щылът, бомбэ зыщыхъумапIэм къралъэфыжауэ. Апхуэдэ теплъэгъуэ шынагъуэхэм сэ нэхъапэIуэм мызэмытIэу сыщрихьэлIат Япэ дунейпсо зауэм и зэуапIэ губгъуэхэм. Ауэ мыр абыхэм нэхърэ нэхъ Iейт. Мыбдеж зэхэлъыр сэлэтхэртэкъым, жьыкIэфэкIэт, зи фэм имытыж цIыхубзхэт, сабийхэт, зауэ кIыхьым игъэудыкъуа цIыкIухэт. Сабийхэр! Мы зауэ акъылыншэмрэ абыхэмрэ сыт зэхуаIуэхут? ИкIи мис а хьэдэ куэдым сащыхэтым, мо щымыгъэ псэншэм сыздыхэтым, си гум зиукIыжырт мыр жиIэну: «Ди Тхьэ, дэнэ Уэ уздэщыIэр? Сыт Уэ ущIэщымыр?» Абдеж си гупсысэр хуэжащ Библием щыщ псалъэм: «Тхьэм мы дунейм и цIыхухэр апхуэдизкIэ фIыуэ илъэгъуати, Езым и Къуэ закъуэр итащ». Езы Тхьэм къысхуригъэха хъунт а псалъэхэр, сызыхэт гужьеигъуэр илъагъуу. Абдеж си нэгу къыщIэуващ Голгофэ щыIэ жорыр - Тхьэм и Къуэм дэр щхьэкIэ лъы щигъэжар!

         Сэ къызгурыIуэркъым Тхьэр. Сэ къызгурыIуэркъым мы къэмыхъупхъэ къомыр къэхъуну хуит щIищIыр. Ауэ щыIэщ Абы и лъагъуныгъэм и сигнал, и дамыгъэ, и фэеплъ. Ар Хьисэ и жорырщ. Тхьэуэ Зи Къуэр дэ псоми папщIэ къурмэныпхъэ эыщIам и Къуэм дригъусэмэ, фIыгъуэ псори къытхуищIэнукъэ? Апхуэдэу жеIэ апостол Паул. Аращ зэрыщытри: Хьисэ и жорым деж сэ Тхьэм сыщекIужыфмэ, нэгъуэщI сэ зыри сыхуэныкъуэжкъым.

                   Си бынхэр щыцIыкIум щыгъуэ сэ злэжь псори абыхэм зэхащIыкIыртэкъым, ауэ абыхэм сэ дзыхь къысхуащIырт: «Ди адэм псори тэмэму ещIэ!» Хьисэ и жорым деж сэ Тхьэм сыщыщекIукIэ, Тхьэм и бын сыщыхъукIэ, сэри уафэм щыIэ Адэм дзыхь хузощI: Абы псори тэмэму елэжь. ИкIи сэ зыми сыщIэупщIэну къысхуихуэркъым. Фэри Тхьэм  и иужьрей Псалъэр - Хьисэ - зыхэфщIэу къафщтэмэ, влэжьын хуей псори влэжьа мэхъу!

                   Зы дакъикъитхукIэ фыкъызэдэIуэфыну пIэрэ? Сэ иджыри мыхьэнэшхуэ зиIэ гуэр вжесIэн хуейщ.

 

 

5. Тхьэм и щымыгъэм джэ макъкIэ зихъуэжынкIэ хъунущ

 

Сыхьэт бжыгъэкIэ узэдауэ хъунущ Тхьэм мыр е модрейр къэхъуауэ хуит къыхуищIым теухуауэ, ауэ а упщIэр гуащIэ дыдэ щыхъур уэ уи щхьэм къыщегъэзам дежщ. Аракъэ? Си гъащIэм и нэхъ Iеигъуэ, шынагъуэ дыдэми сэ дэплъыпIэ къызыщгъуэту щытар Хьисэ и жорым дежщ.

                    Пщащэ ныбжьыщIэ гуэрым и гур зэщыуауэ къызжиIащ иджыблагъэ: 

-              Сэ афIэкIа сыпсэужыфынукъым!» - жиIэри. 

СщIэркъым фэ сыт хуэдэ щытыкIэ фитми, ауэ гъащIэр кIыфI къыфтехъуамэ, мырат сэ вжесIэнур: Iуэхур здэщыIэр фэ «Сыт щхьэкIэ? Сыт щхьэкIэ?» жыфIэу фыщIэупщIэным и пIэкIэ «Сыт хуэдэ мурадкIэ?» жыфIэу фызэрыщIэупщIэр аращ. Абы ехьэлIауэ, кIэухыу, мы къыкIэлъыкIуэр фхуэсIуэтэн хуейщ.

                   ИлъэсипщI зыбжанэ и пэкIэ сэ шахтер щIыналъэ гуэрым, Iуэху Iей гуэрхэр къыщыхъум, дин пашэу сыщыIэт. Зэгуэр сэ зэхэсхащ шахтер гуэрым фэбжь къытехуауэ. Абы и тхым мывэ къытехуэри и бгым и щIагъкIэ щыIэ Iэпкълъэпкъыр зэрыщыту къыдэмыбзыж ищIат, хъужынкIи гугъэ лъэпкъ щыIэтэкъым. Узижэгъуэнт! Сэ абы деж сыкIуащ икIи сызрихьэлIар хьэлэчт. Абы нэхъ хьэлэч зыщIыпIэ сыкIуауэ срихьэлIауэ сщIэжыркъым. Абы и пэшым шахтерхэр щIэзт. СтIолым аркъэ зэрыт птулъкIэхэр тетт. Зи Iэпкълъэпкъ къыдэмыбзыжыр гу цIыкIум ист. СыщыщIыхьэм, зэрыгъэкIий шынагъуэ къаIэтащ: «Уэ, вынд фIыцIэ, укъыщIэмыхьэ! А уи Тхьэр дэнэ щыIа, мывэр си щIыбым къыщихуэм! Сыт Тхьэм зыри щIыжимыIэр?» АдэкIэ шхыдэн щIадзащ. Жыхьэнмэм сыхэхуам ещхьт! Зы псалъэ схужымыIэу сыкъыщIэкIыжащ. Мы щIыпIэм щыщ шахтерхэм си ныбжьэгъу зыбжанэ яхэтт. КъыкIэлъыкIуэ пщыхьэщхьэм, абыхэм я закъуэ сахэсу, сызрихьэлIар яхуэсIуэтэжащ. Тхьэмахуэ дэкIауэ, а си нэIуасэ гуп цIыкIум сахэпсэлъыхьыну зызгъэхьэзыра къудейуэ, бжэр макъышхуэ ищIу къыIуаудри а зи Iэпкълъэпкъ къыдэмыбзыжыр зэрыс гу цIыкIур къыщIагъэлъэдащ. Си ныбжьэгъу шахтерхэм ари къыздашауэ арат къызагъэдэIуэну. Сэ сщIэркъым дапхуэдиз зэманкIэ ар къытрагъэхьами, си гугъэмкIэ, куэдрэ иужь итахэу къыщIэкIынукъым. ИкIи, мис, ар си пащхьэм къист. Абы щыгъуэ сэ сызытепсэлъыхьыр «Тхьэм дунейм и цIыхухэр апхуэдизкIэ фIыуэ щIилъэгъуар» мыбдеж дэ хъарзынэу дыщыпсэун щхьэкIэкъым, атIэ «Абы Езым и Къуэр итащ» - темэрт. Сэ сытепсэльыхьырт Хьисэ - дэ дызэдэIуэн хуей Тхьэм и иужьрей Псалъэм, икIи адэкIэ пысщащ: «... Хьисэ зи фIэщ хъу дэтхэнэри хэмыкIуэдэн папщIэ!» Мор къызэдаIуэрт! Абы япэ дыдэ зэхихырт Хьисэ и гугъу! ИкIи абдеж абы нэху къилъэгъуащ. КIэщIу жыпIэмэ, зы илъэс плIанэ дэкIа нэужь, ар Зиусхьэн Хьисэ ей хъуащ. Сэ уеблэмэ псалъэкIэ фхуэсIуэтэфынукъым абы щIэуэ зэрызихъуэжам и инагъыр. И псэупIэ гъэпсыкIэ иIэу зэригъэзэхуащ. Япэм хъуанэцIанэ щызэхэпхыу щытам иджы Хьисэ теухуа уэрэдхэр къыщыIурт. Япэм и пыхъуэпышэу щытахэр кIэрыщэщри, абы ныбжьэгъущIэхэр къыкIэлъыкIуэ хъуат. Аркъэ птулъкIэхэр текIуэдыкIри, стIолым къытехьат Библиер. Ар сэ зэи сщыгъупщэнукъым. Абы цIэ дахэ дыдэ иIэт: «Амзель». Абы зыкъысхуигъэгусэнкъым мыбдеж и цIэр къызэрыщисIуэм щхьэкIэ, сыту жыпIэмэ ар иджы адрей дунейм кIуакIэщ. 

-              Амзель, - сеупщIащ сэ абы - дауэ ущыт? 

-              Си гъащIэр Хьисэ зэрыIэщIэсэлъхьэрэ, си гуэныхьхэр къызэрысхуэгъу лъандэрэ, Тхьэм и бын сызэрыхъу лъандэрэ, си унэм, - къызитыжащ абы жэуап. Мыбдеж ар тIэкIу хэгупсысыхьри, адэкIэ къыпищащ, - махуэ къэс Хъуромэ махуэшхуэр къыщихьэ хуэдэщ.

Зэрышахтерым тепщIыхьмэ, дахэ дыдэу жыIа хъуакъэ?! АдэкIэ къыпищар гуиимыхужщ: 

-              Буш, сэ мыгувэу сылIэнущ, ар зыхызощIэ. 

Ныбжьэгъу дызэхуэхъуати, уэр-сэру дызэпсалъэрт. 

-              ИкIи сэ куэбжэмкIэ сыдыхьэнурэ Тхьэм и пащхьэ сыкъихутэнущ. Си дежкIэ нэрылъагъу дыдэщ лIэныгъэм деж псори зэрыщимыухыр. ИкIи мис адрей дунеим Абы и тахътэ гупэм сыкъихута нэужь, сэ Абы и лъапэм зыщIэздзэнурэ фIыщIэ хуэсщIынущ си тхыр зэрызэпищIыкIам папщIэ. 

-              Амзель,- сыкъэшынауэ абы и псалъэр зэпызудащ сэ, - сыт а жыпIэр? 

-              Сэ жысIэр сощIэж, - жиIащ абы. - Ар къэмыхъугъатэмэ, Тхьэм сэ тхьэншэ гъуэгум сыкъытринауэ щытатэмэ, занщIэ си гъуэгуу жыхьэнмэм, кIуэдыныгъэ мыухыжым, сыкъыхэхутэнут. Абы къыхэкIкIи Тхьэр Езым и къезыгъэл лъагъуныгъэмкIэ си гъащIэм къыхэIэбэу си тхыр зэпимыщIыкIыу хъуакъым, сэ Абы и Къуэр, Хьисэ, Тхьэм и бын насыпыфIэ сызэрыхъуар, къэзгъуэтыжыфын папщIэ. Абы щхьэкIэ фIыщIэ хуэсщIыну сыхуейщ Тхьэм!

АдэкIэ жиIари зэи имыхужыну си щхьэм къинащ: «Уи Iэ-уи лъэ къыдэмыбзыжу Хьисэ уреймэ, Тхьэм урибынмэ нэхъыфIщ уи лъакъуэ узыншитIымкIэ жыхьэнмэм ужэ нэхърэ? 

-              ФIыуэ слъагъу Амзель! - жысIащ сэ. - Тхьэм уэ гугъуехь инхэм ухигъэхьащ. ЯпэщIыкIэ уэ зыкъипсащ, мыр жыпIэурэ: дэнэ Тхьэр здэщыIар? Сыт Абы зыри щIыжимыIэр? Иджы уэ къыбгурыIуащ Тхьэм апхуэдэу щIищIар: Ар хуеящ уэ Хьисэ деж уишэну, итIанэ езы Хьисэ Абы ухуишэжын папщIэ!

                      Иджы фэ флъагъуркъэ? Дэ дыщIыщIэупщIэн щыIэкъым «сыт щхьэкIэ?»

жытIэу. «Сыт хуэдэ мурадкIэ» жытIэн хуейуэ аращ. Мыри вжесIэнут: сэ си фIэщ мэхъу фи гъащIэм хэлъ гугъуехь псори къызыхэкIыр Тхьэм ХьисэкIэ Езым фызришэлIэфын папщIэу зэрыщытыр! Сэ хуабжьу сфIэфIщ гимным щыщ мы пычыгъуэр жысIэн: «Сэ Уэ уи Къуэм, О, Адэ, сешалIэ,/ Уи Къуэм сэ Уэ сыныббгъэдишэн папщIэ./ Уэ уи Псэ ЛъапIэр мы си гум къигъэтIысхьэ,/ Тхьэм и гузэгъэгъур дапщэщи сиIэн,/ гукIи уэрэд лъапIэ гуфIэгъуэ Уэ бжесIэн папщIэ». Сэ хуабжьу сыхуейщ фэри  апхуэдэ уэрэд жыфIэну икIи сэ сщIыгъуу Тхьэм фелъэIуну.

 

                   
ЛЪАГЪУНЫГЪЭ  ДИIЭНЫМКIЭ  ДИ  ХУИТЫНЫГЪЭР

 

Языныкъуэхэм деж мы темэм нэгъуэщIцIэ фIызощ: «Лъагъуныгъэм гуэныхь пылъынкIэ хъуну?» Мыбдеж зи гугъу тщIыр лIыгъуэ-фызыгъуэм епха лъагъуныгъэрщи, абы и Iуэху зытетыр къэтщIэну дэ псори дыхуейщ. Хуит сыкъэфщIмэ, сытемыхьэулеикIыу «Лъагъуныгъэ диIэнымкIэ ди хуитыныгъэр» темэм и зэпкърыхыным иужь сихьэнщ. Абы теухуауэ сэ мыхьэнэшхуэ зиIэ гуэрхэр вжесIэфынущ.

 

1. ТхьамыщкIэгъэшху  

                   

ГъэщIэгъуэныракъэ, цIыхухэр иджы хуэдэу зэи щхьэ закъуэу щытакъым. Абы щыгъуэми цIыхухэр иджыпсту Iуву зэрызэхэсым хуэдэу зэи псэуакъым. Апхуэдизу, ди натIэ зэгъэкъуа жыхуаIэм хуэдэу, гъунэгъуу дызэбгъэдэс пэтрэ, итIани нобэ хуэдэу зэи дызакъуэкъым дэ. 

                   Илъэс 16 зи ныбжь щIалэ цIыкIум зэгуэр къызжиIауэ щытащ: «Сэ зыри сиIэкъым!» - жиIэри. Сэ ар хуэздатэкъым: «Делагъэ жумыIэ! Уэ адэ уиIэкъэ!»  «А-а-а, лIыжьри! - жиIащ абы. - Ар шэджагъуэ нэужым, сыхьэтитхухэм деж, унэм къокIуэлIэж, зыкъомрэ мэшхыдэ,  итIанэ машхэри аргуэру докI» «Уи

анэр щэ?» «Ау-уей, абы Iуэхур и пщэм къос, сэ си Iуэху зэрихуэну хущIыхьэркъым!»  «ЛэжьапIэмкIэ щыIэ уи ныбжьэгъухэр-щэ?» «Ахэр си лэжьэгъу къудейуэ аращ, абы къыфIэкIыркъым. Сэ си гум щыхъэр зыхуэсIуэтэн зыри сиIэкъым». Ар къызжезыIар илъэс 16 зи ныбжь щIалэ цIыкIущ. Ауэ апхуэдэу щхьэ закъуэу зыкъызыщыхъужыр сабийхэм я закъуэкъым. Я лIыр къабгъэдэс пэтми, зи закъуэу зыкъызыщыхъуж фызхэр мащIэкъым, лIыхэр къащти, аращ. И фызым сыт игу къеуэми зымыщIэ лIыр дапщэ! Фызыр къащти, абыи лIыр зыхуей - зыхуэфIым щыхимыщIыкI гъунэжщ. ИтIани дызэщхьэгъусэщ жаIэ! Къапщтэмэ, дэ тщыщ дэтхэнэри дыщхьэ закъуэу аращ!

                   Ди зэманым и философхэр иджырей цIыхум и щхьэ закъуэныгъэм щытепсэлъыхьым деж абыхэм къедэIуэну цIыхухэр уэру къызэхуос. Щхьэ закъуэныгъэм и гуныкъуэгъуэм цIыхухэр зэрехуэ. ИкIи флъагъурэ, а щхьэ закъуэныгъэм къикIынымкIэ хъуэпсапIэр мы ди гъащIэм нэхъ къару ин дыдэу хэлъым - лIыгъуэ - фызыгъуэм - къуоувэ. Абы щыгъуэ IущIапIэу щыIэр къута мэхъу: илъэс 15 хъу щIалэ цIыкIум закъуэныгъэм къезыгъэлын хъыджэбз цIыкIу ныбжъэгъу къелъыхъуэ. И фыз бгъэдэсрэ пэт щхьэ закъуэу зыкъызыщыхъуж лIыр и секретарь цIыхубзым деж макIуэ, абы закъуэныгъэм къригъэлынкIэ щыгугъыу. Студент щIалэщIэр университетым щеджэ студент мин 11-м е 12-м яхэтми, и закъуэпцIийуэ зыкъыфIощIыжри и гъащIэр езым ещхьу щхьэ закъуэ студент хъыджэбзым ирепх. Закъуэныгъэм къыIэщIэкIыным хущIэкъуныгъэр гъащIэм и инстинкт нэхъ лъэщ дыдэм - лIыгъуэ – фызыгъуэм – хохьэжри, къэхъуращи, дэ иджыпсту дыщопсэу щхьэрутIыпщ цIапIагъэм и дунейм. ЦIыхухэм закъуэныгъэр IэщIыб зэращIын Iэмалу лIыгъуэ-фызыгъуэ Iуэху егъэлеяхэр къызэралъыхъуэр мылъку хэхыпIэ ящIауэ къагъэсэбэп фейдэщI зэмылIэужьыгъуэхэм, псалъэм папщIэ, кинофильмхэм я продюсерхэм, тхакIуэхэм. Абыхэм девизу яIэщ: пIэм щалэжьхэр хэмыту зы фильми темыхын! ЩIасэ зэрашэу хэмыту зы тхылъи мытхын!

                   УкIэлъыплъмэ, плъагъунущ флирт, къызэрыдахьэх-къызэрагъэIулэ, ба зэрызэхуащI, псом къыпфIагъэщI псори гухэхъуэрэ гуфIэгъуэ нэхуу.

Хъыджэбз ныбжьыщIэ гуэрым къызжиIащ: «Зиусхьэн дин пашэ, дэ а Iуэхухэм дызэреплъыр ди адэхэм я адэжхэм хуэдэукъым, нэгъуэщI гуэрущ. Дэ моралыщIэ, этикэщIэ диIэщ!» Абдеж шляпэ сщхьэрыгъауэ щытамэ, сэ сыхьэзырт ар хущхьэрысхыу: «ПщIэ пхузощI,» - жысIэну. Ауэ къалэшхуэм пIалъэ кIыхькIэ дин пашэу ущылэжьа нэужь, апхуэдэ псалъэ тафэтелэхэр уи фIэщ хъужыркъым. Сэ згъэунэхуауэ сощIэ а тафэтелагъэр IуплъапIэ гъэщIэрэщIа къудейуэ зэрыщытыр, абы и щIыбкIэ щыгъэпщкIуащ тхьэмыщкIагъэ щIэншэр: зинэкIэ зэпыщIа хъуауэ зызыхуэмыIыгъыж щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ. Зэщхьэгъусэу фэ зытрагъауэу фIэкIа зыкIи зэпыщIауэ щымытыж зэлIзэфызхэр. ТхьэмыщкIагъэ щIэншэщ! ИкIи а тхьэмыщкIагъэм дэ псори дыщыгъуазэщ. Сэ сызытепсэлъыхьыр нэгъуэщI лъэпкъ гуэркъым, фэрэ дэрэщ.

                   Илъэс зыбжанэ и пэ, Липперланд къалэ цIыкIум мы темэмкIэ лекцэ сакъыхуеджэрт щIалэгъуалэм я закъуэ. Залым сыщIыхьэу сащыхэплъэм, «Мыр жыхьэнмэщ!» - жысIэу сегупсысащ. ЗызыфIэзыш щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ тутын Iугъуэм къыхэщ къудейт! ЩIалэ зыбжанэм уеблэмэ аркъэ зэрыт птулъкIэхэр ягъэпIийуэ яIыгът. Языныкъуэ хъыджэбзхэр щIалэхэм я куэщIым исхэт. ИкIи мыбыхэм сахэпсэлъыхьын хуейт! Сыхэхуатэкъэ! Апхуэдэу сегупсысри, мыбыкIэ къыщIэздзащ: «ЛIыгъуэфызыгъуэ зэхущытыкIэхэм я Iуэхур зытетыр узижэгъуэнщ!» А напIэзыпIэм щхьэгъубжэ IупIэхэр Iуаха хуэдэу хъуащ. Сэ иджыри си нэгу щIэтщ хъыджэбз зыкъезыгъэщIар IузыгъэкIуэта щIалэщIэр. ЖысIар абы и деж нэсат. Зэуэ, бадзэ лъэтамэ зэхэпхыну, щым хъуащ, сэри си гум мыр къэкIащ: япэщIыкIэ псори гуфIэгъуэм зэрихьэ  хуэдэу фэ ятетами, сэ абыхэм я гущIэм сынэсащ: «ЛIыгъуэ-фызыгъуэ зэхущытыкIэхэм я Iуэхур зытетыр узижэгъуэнщ!»

 

2. ТхьамыщкIагъэр сыт къызыхэкIыр?

 

                   ИпэжыпIэкIэ, тхьэмыщкIагъэр къызыхэкIыр дэ фIымрэ Iеймрэ тхузэхэмыгъэкIыжыф дызэрыхъуарщ. Дэ жыдоIэ: «А Iуэхугъуэм дэ иджы нэгъуэщIынэкIэ доплъ!» Ауэ зы зимыхъуэжу къонэ: гуэныхьыр щыIэщ! ИкIи сэ гуэныхь злэжьмэ, ар си гум хьэлъэу къытогъуалъхьэ. Ар фIэкIыпIэншэщ! Апхуэдэ щIыкIэкIэ, тхьэмыщкIагъэр къыщыхъур мыр фIыщ, мыр Iейщ жаIэу зэхамыдзыжыф хъуа нэужьщ. Аращи, хуит сыфщI щхьэтечауэ сынывэупщIыну: нэчыхь иумыгъэтх щIыкIэ лIыгъуэ-фызыгъуэкIэ узэбгъэдыхьэныр бгъэдахэ хъуну, хьэмэрэ ар Iей? Гуэныхь пылъ цIыхубзитI езыр-езыру лIыгъуэ- фызыгъуэ зэблэшакIэ зэбгъэдэтмэ? Iей хьэмэрэ мыIейрэ гомосексуализм жыхуаIэр, цIыхухъуитIым зэдалэжь е цIыхухъум щIалэ цIыкIум дилэжь Iуэху фIейхэр? Онанизмэр, нэчыхьыр къутэжыныр - ахэр фIы хьэмэрэ Iей? ИкIэм-икIэжым, фIы жыхуаIэр  сыт, Iейри сыт? Мис абдежщ тхьэмыщкIагъэм къыщыщIидзэр! Роман минхэм зи гугъу тщIы Iуэхугъуэхэр фIырэ IейкIэ  зэпашэчыркъым, ар Iуэхум щымыщ хуэдэ. Зыгуэрым гужьгъэжь хуиIэныр Iейщ, пэжкъэ, ауэ мыр фIыми Iейми пыщIакъым. Къафщтэт иджырей фильмхэр: ба зэрызэхуащIыр ину къагъэлъагъуэ, Iупхъуэр кърапхъухри адэкIэ Iупхъуэм къыкъуэщ ныбжьхэр уагъэлъагъу. Абыхэм зыри хэлъ хуэдэкъым, дызэсэжа Iуэхущ, фIымрэ Iеймрэ хэмыхьэ хуэдэуи щытщ. Пэж-тIэ ар? Сыт фIыр, Iейри сыт? Сэ сигу къокIыж  си щIалэгъуэм мы Iуэхур  акъылкIэ зэхэсхыну иужь сызэритар: сыт сэ злэжьыну сызыхуитыр, сызыхуимытри сыт?

А упщIэм  жэуап пэж ептын папщIэ, абы и пэ иту нэгъуэщI зы упщIи гъэувыпхъэщ: мыр фIыщ, мыдрейр Iейщ жиIэу зэхэзыгъэкIыр хэт ар езыр? Мыпхуэдэм деж иужьрей псалъэр жызыIэр хэт? Зэгуэр сахуэзащ щIалэрэ хъыджэбзрэ зэгъусэу: хъыджэбзым и нэщIащэхэр мэракIуэпцIафэт, мыдрейр щIалэ дырипсырийт, и Iэпэхэр тутын кIэгъуасэм иуфIыцIыжауэ. Сэ жызоIэ: 

-              КилометриблкIэ укъыщыту укъаплъэми, фэ фи Iуэху зытетыр нэрылъагъу мэхъу. 

-              Къэхъуагъэшхуэ щыIэкъым, зиусхьэн дин пашэ! – къызжиIащ хъыджэбзым. - Абы зыри хэлъкъым!» 

-              Зэ умыпIащIэт! Ар хэт зэхэзыгъэкIыфынур - абы зыгуэр хэлърэ хэмылърэ?» хуэздакъым сэ. 

Пэж дыдэу, хэт зэхэзыгъэкIыр фIыр мыращ, мыр Iейщ, жиIэурэ? Члисэра? Хьэуэ! Абы жиIэм седэIуэнтэкъым сэри. Си щIалэгъуэм дин пашэр си гъащIэм и тепщэу сэ слъытэххакъым, иджыпсту сэ езыр сыдин пашэщ. Хэт-тIэ жызыIэнур фIыр сытми, Iейр сытми? Си адэ шыпхъу Амалие? Хьэмэрэ сэ езыр си гум сызэреплъыж? «Сэ си гум къишхыдыкI макъым содаIуэ!» Хэт жызыIэнур фIымрэ Iеймрэ?

                   Флъагъурэ, дэ мыхьэнэшхуэ зиIэ щIыпIэ дынэсащ. Дунейм и Тепщэу щыт Тхьэ псэу щыIэу щытмэ, Аращ жызыIэн хуейр фIымрэ Iеймрэ зищIысыр! Тхьэ лъэпкъ щымыIэмэ, итIанэ щхьэж зыхуейр влэжь! Адэ шыпхъу Амалие и хьэтыркIэ ар зэрыхуейм хуэдэу ущIэпсэун щыIэу сщIэркъым. Мыбдеж дэтхэнэ цIыхуми и пащхьэ упщIэ къоувэ: Тхьэ щыIэ хьэмэ щымыIэрэ? Сэ зыгуэрхэр соцIыху, фIеягъ Iэджэ зэрахьэрэ итIани Зиусхьэн Тхьэр я фIэщ хъууэ жаIэу. Делагъэщ! Тхьэр щыщыIэкIэ, Абы и Iэмырым итын хуейщ мы зи гугъу тщIы, цIыхум и гъащIэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэри. Фэ хэфхын хуейщ. Тхьэр фи гъащIэм бгъэдэвгъэкIуэтыфынущ, ауэ зэвгъащIэ итIанэ апхуэдэуи фылIэн хуей зэрыхъунур! Илъэс 45-м дынэса пэт Тхьэ дыхуэмейуэ дыпсэууэ жытIэу, итIанэ жьы дыхъумэ, гуэныхьыншэу зыкъыщIедгъэдзыжыфынукъым. Ар къохъулIэнукъым! «Зиусхьэным фылъыхъуэ, Ар къыфхуэгъуэтын щIыкIэ», - жеIэ Библием, ахъумэ: «Фи фейдэ щыхэлъым дежкъым». Сэ иджыри зэ жызоIэ: Тхьэр щымыIэу щытмэ, фэ сыт фыхуейми влэжь хъунущ. Тхьэр псэумэ, Абы къыжиIапхъэщ фIыр сытми, Iейр сытми. Ар гурыIуэгъуэщ, пэжкъэ? 

АтIэ сэ иджы вжызоIэ Тхьэр пэж дыдэу зэрыпсэур! Тхьэр пэж дыдэу псэущ! ИкIи сэ ар апхуэдэу ипэжыпIэкIэ щысщIэмкIэ фыкъызэупщIмэ, сэ вжесIэнщ: Абы цIыхухэм закъригъэлъэгъуащ. ИкIи мыр зыхэфпщэну сыхуейт: Хьисэ къызэрыкIуэ лъандэрэ Тхьэм и бийуэ ялэжь щхьэпсыншагъэ дэтхэнэри, е Ар мыдэныгъэри е Iуэхум зэрыщымыгъуазэхэм къыхокI, е бзаджагъэкIэ ялэжьу аращ. Тхьэр псэущ! Ар псэууэ щыщыткIэ, иужьрей псалъэр зейр Аращ: фIыр - сыт, Iейри – сыт? Фэ Ар фи гъащIэм пыIувгъэкIуэтыфынущ, фэ апхуэдэу «ди моралыр нэгъуэщIщ» жыфIэфынущ. Ауэ сэ фыкъызогъэгугъэ фи гъащIэм теухуауэ Тхьэм и пащхьэ жэуап щыфхьын хуей зэрыхъунумкIэ!

                   Сытым хуэдэу утыншыжрэ, фIымрэ Iеймрэ зэхэзыгъэкIыр езы Тхьэрауэ къыщыпщIэкIэ. Езым и Псалъэм - Библием - ар гурыIуэгъуэу икIи щхьэтечауэ къыщыджеIэ Абы. ЦIыху гуэр зэгуэр игъэщIагъуэу къызэупщIащ: 

-              Библиер апхуэдэ Iуэхухэм тепсэлъыхьрэ-тIэ?» - жиIэри. 

-              АтIэ, абыхэми топсэлъыхь Библиер! – жэуап естыжаш сэ. - Тхьэм гурыIуэгъуэ къытщещI лIыгъуэ-фызыгъуэм ехьэлIауэ сытыр фIыми, сытыр Iейми!»

                   Си гупсысэм фыкъыкIэлъыплъа? Дэ упщIэр мыпхуэдэу дгъэувыпхъэщ: «ЦIыху зэхущытыкIэхэм щыщ Iыхьэу дэ зи гугъу тщIым теухуауэ пыухыкIауэ Тхьэм жиIэр сыт?» Деплъынщ абы теухуауэ Библием жиIэм.

 

3. Тхьэм жиIэр сыт?

 

а) Тхьэр лIыгъуэ-фызыгъуэм щыхьэт тохъуэ.

                   УсакIуэ гуэрым усэ иIэщ, мыпхуэдэ гупсысэ къыхэщу: си бгырыпхыпIэм и щхьэкIэ сычыристанщ, абы и щIагъкIэ сымажусийщ. Ар делагъэщ! Библием гурыIуэгъуэу жеIэ: «Тхьэм цIыхур къигъэщIащ, цIыхухъури цIыхубзри къигъэщIащ». ИкIи Тхьэм дэ дыкъигъэщIащ а лIыгъуэ-фызыгъуэри тхэлъу! Абы къыхэкIыуи сэ нахуэу сытопсэлъыхь а Iуэхум. Мыр узытепсэлъыхь мыхъун Iуэхуу щыткъым. Тхьэм сэ цIыхухъуу сыкъигъэщIащ, фэ цIыхухъухэри - аращ. Ауэ щыхъукIэ цIыхухъуу дыщывгъэт, ажэгъафэ дывмыгъэхъу. Фэ Тхьэм цIыхубзу фыкъигъэщIащ. АтIэ цIыхубзу фыщыт! ЦIыхубзыр цIыхухъу хъуну щыщIэкъукIэ, е цIыхухъур цIыхубз хъуну хуеймэ, ар щIагъуэкъым.

КъывгурыIуэрэ? ЦIыхубз нэсу фыщыт! «Тхьэм цIыхур къигъэщIащ, цIыхухъуи цIыхубзи къигъэщIащ» - нэгъуэщI ещанэ лIэужьыгъуэ лъэпкъ щыIэкъым. Тхьэр лIыгъуэ-фызыгъуэ зэрытхэлъын хуеймкIэ щыхьэтщ. Ар дэтхэнэ зыми ищIапхъэщ. Мыбдеж зыри щIызэблэпхъун щыIэкъым. ЦIыхухъури цIыхубзри - псори Абы дриIэрыщIщ.        

                   Ауэ дэ дыIэрыщI зэкIуэкIащ. Дунейр Тхьэм и IэмыщIэ къызэрикIам хуэдэжкъым. Абы къыхэкIкIи, мы зи гугъу тщIы лIыгъуэ-фызыгъуэ Iуэхум ди гъащIэм мыхьэнэ ин зэрыщиIыгъым къыдэкIуэу шынагъуэшхуи пыщIащ. Мис абы къыхэкIкIэщ а Iуэхугъуэм Тхьэм гъунапкъэ щIыхуигъэувар:

 б) Тхьэм лIыгъуэ-фызыгъуэм нэчыхькIэ гъунапкъэ хуигъэуващ.         Абы лIыгъуэ-фызыгъуэ зэрыщыIэн хуейр къещтэ икIи нэчыхькIэ

абы гъунапкъэ хурелъхьэ. Нэчыхьыр  цIыхухэм зэраухылIэ зэгурыIуэныгъэкъым, ар Тхьэм игъэува Iуэхущ.

         Абы теухуауэ тхылъышхуэ зытха американ психиатор гуэрым, езыр мычыристан пэтми, мыпхуэдэу етх: «Абы теухуауэ Библием ит псалъэухам хуэдэу уардэ зэи щыIакъым: Тхьэм цIыхур къигъэщIащ, цIыхухъуи цIыхубзи къигъэщIащ». АдэкIэ абы пещэ: «Сэ сычыристанкъым, ауэ психологыу сыщыткIэрэ жызоIэ: нэчыхь пэжу щытыр мис аращ». Пэжу зыгурывгъаIуэ: пэжыгъэ зыхэлъыр голливуд и «вагъуэхэм» я ебланэ, еянэ, ебгъуанэ е епщIанэ «нэчыхьыркъым»! Апхуэдэ нэчыхьхэр, апхуэдэ щымыIэу щагъэIум деж, ар ди зэманым и акъылыншагъэу аращ икIи дэ зыри зэрытхузэфIэмыкIым и щыхьэтщ ар. Тхьэм нэчыхьыр игъэуващ лъагъуныгъэмрэ пэжыгъэмрэ я нэчыхьу.

         Мис иджы кIэщIу сытепсэлъыхьынут нэчыхьым. ФIыуэ тлъагъу щхьэгъусэхэ! ФилIхэм шэджагъуашхэ IэфI яхуэфпщэфIкIэ е я щIыIу къихуар яхуивдэжкIэ, абыкIэ фызыфI фыхъуркъым. ЛIыхэ! фи фызым унагъуэр зыхуеинухэр къызэрищэхун ахъшэ IэщIэфлъхьэу фытIысыжкIэ зэфIэкIыркъым. Тхьэм и IэмыркIэ ятха нэчыхьым закъуэныгъэм укъыхишын хуейщ! Апхуэдэ-тIэ фэ фи нэчыхьыр, нэчыхь зиIэ цIыхухэ? Фэр-фэру абы фытепсэлъыхьу мыр жыфIэн хуэмейуэ пIэрэ: дэнэ дэ дызыхыхьар, дыздынэсар? Ди нэчыхьым закъуэныгъэм дыкъыхишын хуеящ! Тхьэм япэщIыкIэ жиIащ: «ЦIыхум и закъуэныр фIыкъым, дэIэпыкъуэгъу цIыхубз хуэсщIынщ абы!» КъывгурыIуэрэ: закъуэныгъэм къыхэзышын!

         Мыбдеж хъыбар гуэр къэпхь хъуну си гугъэщ: «Сэ сыщIалэ цIыкIуу сэрэ си шыпхъумрэ ди благъэ гуэрхэм я хьэгъуэлIыгъуэм дашат. Япэ  дыдэ хьэгъуэлIыгъуэ сыхэтти, псори сфIэгъэщIэгъуэнт. Фитон зэщIэщIакIэ члисэм дыкIуащ, итIанэ хьэщIэщым гухэхъуэ Iэнэ щытрагъэуващ. Меню зэхагъэуэвам и кIэм итт «морожнэ» жиIэу. Си шыпхъумрэ сэрэ IэнэкIэмкIэ дыщысти, морожнэ къыщахьынур къытхуэмыгъэсу, нэгъуэщI зыри къытфIэмыIуэхужу, дыпэплъэрт. Ауэ ар куэд дыдэрэ къахьакъым, сыту жыпIэмэ зы лIы гуэрым хъуэхъу кIыхь иришэжьауэ иухыртэкъым. Апхуэдэ хъуэхъуу жаIэ псори дэ зэшыгъуэ къытщыхъурт. Ауэ, абы щхьэкIэ къэмынэу, жаIам ящыщ зы игъащIэкIэ си гум къинащ. Зы лIы гуэр къэтэджри, хъуэрыбзэкIэ зэрыIэзэр игъэлъагъуэн фIэфIу, жиIащ: «ПщIэ зыхуэсщI хьэщIэхэ! ЖаIэр уафэм шэнтитI тету, абы я гъащIэм щыщ зы секунди нэчыхь зэрызыхурагъэтхам хущIемыгъуэжа зэлIзэфызыр трагъэтIысхьэн папщIэ. Ауэ а шэнтитIыр иджыри къыздэсам нэщIщ!» Абдеж абы и псалъэр зэпаудащ: си адэр мо цIыху Iувым япхыгуоукIри махуэшхуэ Iэнэм и адрей кIапэм къыщыс си анэм жриIащ: «Анэ, а шэнтхэр дэ къытлъысынущ!» Сэ абы щыгъуэ сыцIыкIуIуэти, абы къикI псор нэсу къызгурыIуакъым. Ауэ сэ гуфIэгъуэм сызэщIищтащ, си адэ-анэм я унэм илъ хуабагъэ псор зыхэсщIэну Iэмал згъуэтати. Фэ фи нэчыхьыр апхуэдэу пIэрэ? Апхуэдэу щытын хуейуэщ ар Тхьэм зэригъэувар!             Сэ фыз къыщысшам щыгъуэ, зи ныбжь хэкIуэта си лэжьэгъур Iэнэм кIэщI дыдэу къыщыпсэлъауэ щытащ Библием щыщ усэкIэ: «Абы хуэфэщэжын дэIэпыкъуэгъу къэдгъэщIынщ». НэмыцэбзэкIэ зэрызэрадзэкIар: «Ар къэзухъуреихьын дэIэпыкъуэгъу цIыхубз къэдгъэщIынщ». Абы жиIащ: «Зигъэпагэу унафэ къыхуэзыщIын гуащэкъым, и напIэхэр едзыхауэ къыхуэлIыщIэн унэIуткъым. Мыдрей унэм илъ хъэпшыпхэм ещхьу ауэ сытми къыбгъэдэтынкъым, атIэ сыткIи абы къыкIэлъыплъын, и Iуэху худэзыхын дэIэпыкъуэгъу цIыхубзщ». Ей, иджыпсту апхуэдэ зэман сиIатэмэ, нэчыхьым и щIыхьыр зыIэт уэрэд уардэ зэхэслъхьэнт.

         Сэ хуабжьу гукъинэ къысщыхъуащ си адэр дыжьын хьэгъуэлIыгъуэм щыгъуэ и фызым къеплъурэ жиIауэ щытар: «Илъэс тIощIрэ тхурэ лъандэрэ сэ уэ нэхъыфIу услъагъу зэпыту йокIуэкI!» Абы щыгъуэ сигу къэкIыжащ а илъэс 25-м тIэкIу-тIэкIуу ужьыхыурэ ункIыфIыжа нэчыхьхэр. Шынагъуэщ! Щхьэгъусэ куэд щыIэщ я гуэгъум мыпхуэдэу жраIапхъэу: «КъэдаIуэт, дэ зэгуэр псори щIэрыщIэу къыщIэддзэжыпхъэщ!» Ар пхузэфIэкIынущ, пхузэфIэкIынущ ар!     Иджы, ещанэу: ныбжьыщIэ куэдым жаIэ: «Сэ иджыри къэшэн Iуэхум сегупсысыххэркъым. Абы щыгъуэ Iуэхур дауэ зэрыщытыр? Дызыхуейр длэжь хъуну?» Апхуэдэхэм мыр яжесIэнт.

 

                         в) Тхьэр хуейщ щIалэгъуалэр къабзэу щытыну

 

                          Сэ сощIэ, мы ди зэманым ар дыхъэшхэну къащохъу, ауэ

Тхьэр модэм тет фи гугъэ? Мыр жызыIар сэракъым, Библиеращ.

         ЗэрысхузэфIэкIкIэ мы жысIам лъабжьэ естыну сыхуейт. Флъагъурэ, Библием гупсысэфI гуэр хэтщ. Ар тотхыхь Исхьэкъ зи цIэ щIалэм. Зэгуэр адэм я IуэхутхьэбзащIэр егъакIуэ абы фыз къыхуилъыхъуэну. А къыхуашэнур иджыри хэтми имыщIэ пэт, итIани ар иджыпсту щыщIэдзауэ абы хуэпэжщ. Фэ, къэшэным иджыри емыгупсыс щIалэхэм, фи гугъэ къыщIэкIынщ и зэманыр къэсмэ, фызыхуейм хуэдэ пщащэ Тхьэм къыфхухихыну. ИкIи а хъыджэбзым фэ иджы щыщIэдзауэ фыхуэпэжын хуейщ. Е мыдрей лъэныкъуэмкIэ зыдгъэзэнщ. Фэ, хъыджэбзхэ, иджыри фымыцIыху щауэм фыхуэпэж. Мис аращ Библием къиIуатэ гупсысэр. Тхьэр хуейщ щIалэгъуалэр къабзэу щытыну.

         Си цIыхугъэ дохутыр-психатрым зэгуэр къызгуригъэIуащ: »Сэ быдэу си фIэщ мэхъу хъыджэбзым лъагъуныгъэ нэс зэ фIэкIа зэримыщIыфынур. Зэщ абы и гум нэгъэсауэ зэрызызэIуихыр. ИкIи апхуэдэ хъыджэбзыр хьэулеямэ, ар нэчыхьым хуэкIуэжыркъым. Ар ебланэм дэкIуэнщ, ауэ зэгупсысынур япэрейрщ, фIыуэ илъагъуу щытарщ». Сэ абы жэуапу естыжащ: «ГъэщIэгъуэнщ психиатриер уи тегъэщIапIэу уэри Тхьэм и Псалъэ дыдэхэм узэрыхуэкIуэжыр».  Аращи, щхьэтехауэ мыр жысIэн хуейщ: нэчыхь уимыIэу лIыгъуэфызыгъуэ Iуэху ухэтыныр, лIыгъуэ-фызыгъуэ зэблэшар, гомосексуализмэр, щхьэгъусэм хуэмыпэжыныр, нэчыхьыр къутэжыныр - ахэр псори  гуэныхьщ икIи абыхэм щхьэкIэ Тхьэ лъапIэм и пащхьэм жэуап щыфхьын хуей хъунущ!

         Абдеж сыкъыщыувыIэми, хъунут. Сэ си щхьэкIэ згъэунэхуауэ сощIэ Тхьэм и Iэмырыр икIи Абы и Закъуэ иужьрей псалъэр зэрыжиIэнур къищIэныр цIыху ныбжьыщIэм дежкIэ щIэгъэкъуэнышхуэу зэрыщытыр. Ауэ сэ сызахуэтэкъым абдеж сыкъыщызэтеувыIэу мыхьэнэшхуэ зиIэ гуэр щIызмыгъужатэмэ.

 

4. А тхьамыщкIагъэр дауэ къызэбнэкIыну?

 

       Библием мы хъыбар телъыджэ гукъинэжым укъыщеджэ хъунущ. Тхьэ Псэум и Къуэ Хьисэ цIыхухэм къаухъуреихьауэ яхэтщ. Абдеж псори зэрогъэпIейтейри зэлъыIуокIуэт. Дин лэжьакIуэрэ къызэрыгукI цIыхуу зэхэт гупым цIыхубз ныбжьыщIэ дахэ къашэ. Сэ иджыпсту хуэдэу солъагъу абы  и щыгъын зэхэчэтхъар. ЦIыхубзыр Хьисэ къыбгъэдашэри жаIэ: 

-          Хьисэ, мы цIыхубз зи щIалэгъуэр зинэ ищIэу дубыдащ. Тхьэм и унафэм жеIэ зинэ зыщIэхэм укI къалэжьу. Уэ дапщэщи угущIэгъулыщ, Хьисэ, ауэ Тхьэм жиIам пэув гуэр уэ, дауи, жыпIэнкъым. Дэ Уэ жыпIэу зэхэтхыну дыхуейщ мы цIыхубзыр мывэкIэ еуэурэ укIын зэрыхуейр!

 Абдеж Хьисэ цIыхубз зи щIалэгъуэм еплъри жиIащ:          - Пэжщ, Тхьэр а Iуэхум ткIийуэ, хуабжьу ткIийуэ хущытщ, икIи Абы и псалъэм ипкъ иткIэ мыбы укI къелэжь».

 Зэхахар я фIэфI зэрыхъуар я нэгум къощ цIыхухэм. Языныкъуэхэр йопхъухри мывэ къащтэ, зинэ зыщIэхэр мывэкIэ зэраукIыр ящIэри. Ауэ Хьисэ адэкIэ къыпещэ: 

-          Зэ тIэкIу фымыпIащIэт! Фэ фщыщу хэт гуэныхь лъэпкъ и гупсысэкIи, и псалъэкIи, и IуэхущIафэкIи имылэжьами, абы япэу иреутIыпщ и мывэр. 

Ар жиIа нэужь, Хьисэ зегъэщхъри пшахъуэм зыгуэр третхэ. Сэ хуабжьу сыхуейт Абы итхар къэсщIэну, ауэ Библием абы теухуауэ зыри иткъым. 

         Тэлай дигъэкIри, Абы и щхьэр къиIэтыжащ: утыкур нэщI хъуат, цIыхубзым и закъуэт къэнар. Библием щыжеIэ: «Ахэр IукIыжащ ягукIэ загъэкъуаншэурэ».

         Иджы сэ фэ псоми зыфхузогъазэ: фэ вдзынут япэ мывэр, фи гупсысэкIи, фи псалъэкIи, фи IуэхущIафэкIи фыкъабзэ дыдэу фыбжыжу? Фхуэдзынут фэ япэ мывэр? Фхуэдзынутэкъым, пэжкъэ? АтIэ, апхуэдэу щыщыткIэ, мыбдеж  дыщызэхуэса псори дыгуэныхьщIакIуэу аращ.

                          Флъагъуркъэ: а цIыхухэм ящIэн хуеяр аратэкъым. Абыхэм

жаIэн хуеящ: «Зиусхьэн Хьисэ! Дэри мы цIыхубзым дыбгъурагъэувапхъэщ. Уэ абы тезыр теплъхьакъым, дэри къыддэIэпыкъу!» Ди зэманым лIыгъуэ-фызыгъуэм щиIэ хъуа тхьэмыщкIагъэм дыкъизышыфын дэIэпыкъуэгъуу Хьисэ закъуэщ сэ щыIэу сщIэр. Ар щIыжысIэр Ар зыдэIэпыкъуахэм сащыщ зыщи, аращ . Хьисэ сыщытепсэлъыхькIэ, сэ теорие гуэрым зезгъэужьу аракъым,  Ар си гъащIэ екIуэкIам и унафэщIу щытащ дапщэщи, иджыри щытщ. Дин пашэ хъумэ, ар Iуэхум хэмыхьэу аракъым, ари фэ фхуэдэу цIыхущ. Фэ фызэрыхуейм ещхьыркъабзэу ари хуэныкъуэщ КъегъэлакIуэм. Си гъащIэм къриубыдэу сэ зэкъым икIи тIэукъым Къегъэла-кIуэ зэрызиIар, Ар зыхуэдэр щызгъэунэхуар, абы и лъэныкъуитIым сыкъытеувыIэнщ:

 

 

а) Хьисэ гуэныхьыр егъэгъу

 

            Уи пастори, уи дин пащи, уеблэмэ уи мэлэIычи фи гуэныхьыр фхуагъэгъуфынукъым. Япэ гупсысэ фIейри дэтхэнэ лъэпэрэпэныгъэри шэчыншэу гуэныхь мэхъу. А фи гуэныхьыр фтелъу Тхьэм и хьэкум пащхьэ фихьэжынущ, икIи Хьисэ къэвгъуэту фи гуэныхьхэмкIэ зывумысыжми, фэ ахэр къыфхуэгъунукъым. Хьисэ закъуэщ ди гуэныхьыр къытхуэзыгъэгъуфынур.

         Хьисэ и тахътэм и пащхьэ фиуви, гукIэ жыфIэ: «Иджы, икIэм-икIэжым, сэ си щIалэгъуэм и гуэныхь псори Уи пащхьэ щызэтызолъхьэ. Хьэл мыхъумыщIэу схэлъымкIэ Уи деж зыщызоумысыж, икIи зыри сыбзыщIыну сыхуейкъым». Абы и жорым фыхудэплъеи, жыфIэ итIанэ: «Хьисэ илъ къежэхащ жорым!/ Абы и натIэм, и напэхэм, сэ гуэныхь бжыгъэншэ стелъщ,/ ауэ а лъым ситхьэщIыжащ». Зэхэфхрэ, «Хьисэ Мэссихь, Тхьэм и Къуэм, и лъым дэ сыт хуэдэ гуэныхьри ткIэрехыж». Щхьэхуит дохъуж!

         Илъэс 17-м сэ зэуэлI сыхъуащ. Дзэм сэ фIейм и кууупIэм сыхидзащ. Зэуэ сыкъэушам хуэдэу, сэ фIеягъэкIэ гъэнщIа си гъуэгуанэм сриплъэри, сызэупщIыжащ: «Хэт си щIалэгъуэм и гуэныхьхэм сакъыIэщIэзыхынур?» Мыр къызгурыIуащ абы щыгъуэ: Хьисэ зэхикъутэнущ си блэкIар. Хьисэ къысхуигъэгъунущ си къуаншагъэр! ИкIи сэ Хьисэ зыхуэзгъэзащ. Иджы сэ афIэкIа Арыншэу сыпсэуну сыхуейкъым.

         Зэгуэр, Дюссельдорф къалэм, зэхуэсышхуэ сыхэту, сэ сыщытепсэлъыхьырт Хьисэ гуэныхьхэр игъэгъуурэ блэкIар зэрызэтрикъутэм, щымыIэж зэрищIым. ЗэIущIэр иухауэ псори щIэкIыжыпIэмкIэ щызэрыхьым, сэ къэслъэгъуащ зы зиусхьэн лъагэ фафIэ гуэрым къыкIуэцIрикъутыкIыурэ си дежкIэ къызэриунэтIар.

ИкIэм, хуабжьу къызэщIэплъауэ, си гупэ къиувэри щIэупщIащ: 

-  А къуаншагъэр къыпхуэгъуну жыхуэпIар пэж дыдэу щыIэ?    - НтIэ,- естыжащ жэуап, - Тхьэм и шыкуркIэ, аращ сэ сызэрыпсэур! 

-  Сэ сыпсихиаторщ, жеIэ абы итIанэ. - Плъагъуркъэ, си деж зи акъыл зэтемысыж куэд къокIуалIэ. Абыхэм узыфэ Iэджэ зэуэ япкърытщ, ауэ я узыфэр зыхуэдэм ахэр щыгъуазэкъым. И нэхъыбапIэм ар епхащ зэгуэр зэхащIыхьа гуэрым, ауэ ар е къахуэгубзыгъыжыркъым, е къащIэжыну хуейкъым. Куэдрэ селIэлIэн хуей мэхъу, мис а блэкIа Iуэхухэр я акъыл лъащIэм къыщагъуэтыжу ищIыIу къезгъэщIыжын папщIэ. Ауэ сэ схузэфIэкIынур абдеж щеух. Сэ слъэкIынур зэхащIыхьауэ щыта гуэр - е пцIы яупсауэ, е зыгуэрым щыхьауэ, фIеягъэ гуэр зэрахьауэ - къэстIэщIыжынырщ, ауэ сэ куэдрэ сигу къеуэу согупсыс: езы къуаншагъэр щымыIэж схуэщIу щытамэ, аратэкъэ! Мис абы къыхэкIыу уэ сыноупщI, зиусхьэн дин пашэ Буш: пэж дыдэу щыIэ Зыгуэр, къуаншагъэр щымыIэж ищIыфу? Ар пэж хьэмэ мыпэж? 

                         Абы щыгъуэ сэ аргуэру зэ щыхьэт нэщхъыфIэу сытехъуащ: 

-  Тхьэм и фIыщIэкIэ пэжщ! 

         ИкIи сэ къысэгурыIуащ «ХъыбарыфIым» дэ зыми зэхимыха хъыбар щэджащэ зэрыщыдиIэр: Хьисэ гуэныхьыр егъэгъу!   ЕтIуанэр:

 

б)  Хьисэ Iэхъулъэхъухэр ирех

 

         Секретару лажьэ цIыхубз ныбжьыщIэ тхьэIухуд гуэрым жесIауэ щытащ: 

-  Ей, дахэ, уэ кIуэдыпIэм ухуокIуэ, уи шефым уэрэ фи зэхущытыкIэхэр хъунукъым. А лIыри абы и унагъуэри насыпыншэ умыщI!

                          И гукъеуэр и нэгум къищу, абы жэуап къызитыжащ: 

-  Сэ абы сыкъыпыкIыфыркъым, фIыуэ солъагъу сэ ар! 

  Арами, - хуэздакъым сэ, - а лIым фызи быни иIэщ, абыхэм епщIэр цIыхугъэншагъэщ!»

                          Ауэ абы аргуэру жиIащ: 

-  СыкъыпыкIыфыркъым жысIакъэ!

         Абдеж сэ зыхэсщIащ а езы цIыхубзри бэлыхь зэрыхэтыр, ауэ а зэпыщIэныгъэ мыкъабзэр зэрыхузэпымычыр. Сэ си насыпу къэслъытэжащ мыр абы зэрыжесIэфыр: 

-  Плагъуркъэ, гуэныхь зэпыщIэныгъэхэр дэ пэж дыдэу тхузэпыудынукъым, ауэ Библием итщ: «Тхьэм и Къуэм хуит къищIыжыр щхьэхуит дыдэ мэхъу», - жеIэри. Хьисэ зыхуэгъазэ!

Абы ирихынщ уи Iэхъулъэхъухэр!»

         Гимным (уэрэд лъапIэм) щыщ мы псалъэхэр сэ фIы дыдэу солъагъу: »Хьисэ къакIуэри, ди Iэхъулъэхъухэр зэрыкIащ, ди лIэныгъэ церпхэр Абы зэпичащ./ Игъэсысащ Абы емыкIум и лъабжьэхэр./ КъегъэлакIуэм, Тхьэм и Къуэм, щхьэхуитыныгъэ къыдитащ./ Гуэныхьымрэ емыкIумрэ Абы щIыхькIэ зэригъэкIуэкIащ,/  Хьисэ къакIуэри Iэхъулъэхъухэр икъутащ».            Къалэшхуэм и дин пашэу сыщыткIэрэ, сэ си нэкIэ слъагъурт гуэныхьым и ажал церпыр зэрызэрылъэлъыр. Сексым ехьэлIа тхьэмыщкIагъэхэмрэ зэпыщIэныгъэхэмрэ  я проблемэхэм ущыхэплъэкIэ, нэрылъагъу мэхъу щIэри жьыри КъегъэлакIуэм, ЩхьэхуитщIыжакIуэм зэрыхуэныкъуэр. Дэтхэми къыхуэлъагъунущ

Хьисэ щхьэхуитыныгъэ телъыджэ тыгъэ къызэрытхуищIыр! Фэ Iэмал имыIэу фыхуейщ КъегъэлакIуэ, арыншамэ, фи гъащIэр тхьэмыщкIэ псэукIэ хъунущ. 

 

5.  Дунейм и нэр къыхуокI «Агапе» лъагъуныгъэм 

 

         Сэ иджыри зыгуэр щIызгъужын хуейщ. Хъыджэбз куэдым жаIэ: 

         - Дэ илъэс плIыщI дыхъуакIэщ, ауэ иджыри къэс зыми дишакъым. Дауэ дызэрыхъунур, сыт тщIэнур?»

                          Флъагъуркъэ, сэ процентищэкIэ сыпацифистщ, икIи,

зызыумысыжынщи, апхуэдэ сыхъуныр къызыхэкIар мис а хъыджэбз зи гугъу сщIахэм я насыпыншагъэрщ. ЕтIуанэ дунейпсо зауэм щIалэщIэ защIэу мелуанитху хэкIуэдащ. Абы къокI хъыджэбз мелуанитхур я гъащIэм и хъуэпсапIэ нэхъыщхьэм и гъэзэщIэным пыкIауэ - ар я лIыр насыпыфIэ ящIынырт, икIи ди лъэпкъым щыщ хъыджэбз мелуанитхум я гъащIэр щхьэ закъуэу къагъэщIэн хуей хъуащ. Абы нэхъ щхьэусыгъуэ ухуей, зауэм гущыкI хуэпщIын папщIэ! Фыхуэ-мейуэ пIэрэ ди лъэпкъым щыщ хъыджэбз мелуанитхум зыри жамыIэу ягъэв насыпыншагъэм къикIыр зыгурывгъэIуэну? Абыхэм насыпыфIэ яхуэщIыну щыта цIыхухъухэр зэуапIэ губгъуэхэм къинащ. Апхуэдэ хъыджэбзхэм сэ яжесIэну сыхуейщ: «Тхьэм щхьэкIэ, фэ фызыхэкIыжар гуэныхькIэ къэвдыгъуну фыхэмыт! Хамэ унагъуэхэр зэтевмыкъутэ!»          Ущызыгъэуэн, узыгъэщхьэрыуэн куэд къыщхьэщыхьащ ди цIыхубэм. «Сыт-тIэ дэ тщIэнур?» - щIэупщIэрт ахэр. Сэри жэуап естащ: «Фэ фи гъуэгу апхуэдэу хъуамэ, шэчын хуейщ. ЛIы фызэрыдэмыкIуам щхьэкIэ мащIэ икуэда насыпыншэу зывмыбжыж!«     Библием и гугъу ещIыж лIы дэмыкIуа цIыхубз Тавифэ зи цIэм. Ар Иоппие къалэм щыпсэурт. Иджы а къалэм зэреджэр Яффэщ. А цIыхубзыр щылIам, апостол Петр гъунэгъуу щыIэт. Къеджащ абы. Пэшым щыщIыхьам илъэгъуар абы игъэщIэгъуащ, сыту жыпIэмэ абы и гугъэт а хъыджэбздэсу лIэжа цIыхубзым и хъэдэм и закъуэпцIийуэ щылъу кърихьэлIэну. Ауэ пэшым цIыхур щIэзт! Зы фызабэ гуэрым мыр жеIэ: «Мы щыгъын сщыгъыр Тавифэ схуидат!» Мес нэф гуэри мыр къеIуэтэж: «Сэ сыщIэгъэкъуэныншэ дыдэт, ауэ Тавифэ тхьэмахуэ махуэ къэс си деж накIуэрти, сыхьэт псокIэ къысхуеджэрт. Ар си гъащIэм и сыхьэт нэхут!» Мес зэпымыууэ зи пэр къыпыж сабий цIыкIухэр щысщи, жаIэ: «Дэ дызеиншэщ, зыми драIуэхукъым, ауэ Тавифэ и нэIэ къыттригъэту щытащ!» Петр зэуэ къыгурыIуащ: Тавифэ и гъащIэр куэдкIэ нэхъ къулейуэ щытащ я лIы зэшыгъуэхэм къепэзэзэхыу ябгъэдэс языныкъуэ цIыхубзхэм я гъащIэм нэхърэ!

         Нэмыцэбзэм «лъагъуныгъэ» мыхьэнэр къикIыу зы псалъэщ хэтыр. Алыджэбзэм (грекыбзэм) апхуэдэу псалъитI хэтщ. ХъыбарыфIыр грекыбзэщ зэратхауэ щытар. НэхъапэкIэ дызытепсэлъыхьа лъагъуныгъэм алыджэбзэкIэ «Эросщ» зэреджэр. Абы къытокI «эротикэ» жыхуаIэри. Ауэ лъагъуныгъэ къигъэлъагъуэу нэгъуэщI зы псалъи щыIэщ: «агапе». Ар Тхьэм и лъагъуныгъэрщ, абы нэгъуэщI гуэрхэм сахутепсэлъыхьыну сигу илъщ. ЛIы дэмыкIуа хъыджэбзхэ, фи гъуэгум зевгъэзэгъи, фи гъащIэр «агапе» лъагъуныгъэкIэ щыз фщIы! Дунейм и нэр къыхуокI апхуэдэ лъагъуныгъэм. Хуит сыфщI иджыри зэ къытезгъэзэжыну: Тхьэращ фIымрэ Iеймрэ зэхэзыгъэкIыр! Тхьэм жеIэ: щIалэгъуэр къабзэу щытын хуейщ, нэчыхьыр пэжу щытын хуейщ, ауэ уи гъащIэм нэчыхь уиIэну къыщыпхуимыхуамэ, абы зегъэзэгъыпхъэщ.

 

6. Хуитыныгъэ зыхудимыIэ лъагъуныгъэ

 

 КIэухыу иджыри зэ Хьисэ теухуауэ къытезгъэзэжыну сыхуейт. Си темэм и цIэр «Лъагъуныгъэ диIэнымкIэ ди хуитыныгъэр» жиIэу аращ. ЩыIэщ хуитыныгъэ зыхудимыIэ лъагъуныгъэ, ар тыгъэу къытIэрыхьэу аращ. Зи гугъу сщIыр Хьисэ Мэссихь лъагъуныгъэ къытхудиIэращ. Дэ дыгуэныхьщIакIуэщ. Дэ КъегъэлакIуэ дыхуейщ. Сэ щыхьэту сызытеувэфыну гуэр вжесIэжыну хуит сыфщI. Мыр къыщыхъуар ещанэ рейхым и зэманырщ, сэ фIэщхъуныгъэ сиIэм щхьэкIэ тутнакъ сащIауэ сису. Тутнакъым и дин пашэ си деж къыщIыхьэри, къызжиIащ: «Уи Iуэхухэр щIагъуэкъым»,  жиIэри. Ар щIэкIыжри, камерэ зэвым си закъуэу сыкъыщIэнащ. Адэ ищхьэ дыдэмкIэ нэху дэдзыпIэ зэв тIэкIу иIэу арат, сэ щIыIэм сисырт. Ар сыт, сызэрыхуа щытыкIэр зэрыщыту щIыIэмылт. Си фызым, си бынхэм, си лэжьапIэм, сызыхэт щIалэгъуалэм сахуэзэшырт. Сэ щIалэгъуалэр арат сызидин пашэр. Иджы тутнакъым сист, зэгуэр мыбы сикIыжынкIэ гугъэ лъэпкъ симыIэу. Пщыхьэщхьэ щыхъум, сэ хэкIыпIэншагъэм и шынагъуэм сызэщIиубыдащ сигъэкIэзызу. СщIэркъым, фэ фи гъащIэм апхуэдэ щытыкIэ фыщихуами. Ауэ абдеж - нэгъуэщIу абы щыхьэт сытехъуэфынукъым - си камерэм къыщIыхьаш Зиусхьэн Хьисэ. Ар псэущ! Ар бжэ гъэбыдахэми кIуэцIрокIыф. ИкIи аращ Абы ищIар, Езыр жорым зэрыкIэрылIыхьар нэрылъагъу сщищIын папщIэ. Сэ Абы и псалъэхэр зэхэсхащ: «Сэ сыIэхъуэ хьэлэлщ. Iэхъуэ хьэлэлым и гъащIэр мэлхэм папщIэ ет!» Хьисэ и Iэм къикI Тхьэм и лъагъуныгъэр апхуэдизу уэру къызгурыIуати, ар ерагъыу схуэхьа къудейщ, си гум дежкIэ ар иныIуэт. Сэ къызгурыIуащ: а лъагъуныгъэр дэ къэдлэжьакъым, абыкIэ хуитыныгъэ диIэкъым, а лъагъуныгъэр тыгъэ къытхуащIу аращ.

         А лъагъуныгъэр фи дежкIи зэIухащ! Щхьэ блэвгъэкIрэ ар? Ар хуейщ фэ фигуми нихьэну!

 

 

ТХЬЭМ УЕПСАЛЪЭ ХЪУНУ?

 

         Швабием хъыбар цIыкIу гуэр щаIуэтэж. Зы шваб къуажэ гуэрым кIапсэрыкIуэхэр къэкIуат, пщыхьэщхьэм зыкъагъэлъагъуэн я мураду. Щыджэгуну кIапсэр яукъуэдиякIэт. Гъунэгъуу блэкIырт сабий зыщIыгъу анэр. Сабийр щIоупщIэ: «Мамэ, мо кIапсэм урижэ хъуну-тIэ?» Анэм абы жэуапу ирет: «Хъунущ, пхузэфIэкIмэ. Ауэ сэ схузэфIэкIынукъым!» Ди темэм ехьэлIауэ япэу жысIэн хуейр мыращ:

 

1. Хъунущ, пхузэфIэкIмэ

 

 Аращ, хъунущ, ауэ щыхъунур щыпхузэфIэкIым дежщ. Фэ фщыщ куэдым жаIэнущ: «Сэ схузэфIэкIыркъым!» Шэч хэмылъу, Тхьэм уепсалъэ мэхъу! Зиусхьэн Мейер уепсалъэ щыхъукIэ, Тхьэ псэум фыщIемыпсэлъэнур сыт? Ар щыIэщ, Ауэ фепсэлъэфу пIэрэ фэ Тхьэм?

         Сыщысабийм уэрэд цIыкIу гуэр зэзгъэщIауэ щытащ: «Уэгу лъагэм, мелыIычхэм я лъагапIэм къеплъыхыурэ сабийхэм къахоплъэ Тхьэр, фIэрафIагъэхэм я Адэр». А зэманым сэ мыпхуэдэу сегупсысырт: апхуэдэу щыщыткIэ, Тхьэм афIэкIа сыщIелъэIуни щыIэкъым, сыту жыпIэмэ, дапхуэдизу ину сымыкIиями, а уэгур зи лъагагъым тес Тхьэм сызэхихынукъым». Языныкъуэ цIыхухэр ауаныщIу мэдыхьэшх: «Дэ спутник дутIыпщащ уэгум и лъащIэм:

Тхьэ щыIэу щытамэ, Абы дыхуэзэн хуеящ».

         Плъагъурэ, мы Iуэхум куэд егъэщхьэрыуэ, икIи сэ мыпхуэдэу къызоупщI: «Дэнэ Тхьэр здэщыIэр? Уэгу лъагэра?  Лъагэ дыдэуи?  Километри 100 е 1000 и лъагагъыуи?» ПыухыкIауэ мыр вжесIэну сыхуейщ: «Уэгу лъагапIэ» жиIэу апхуэдэ псалъэхэр Библием иткъым, ауэ абы Тхьэ псэум теухуауэ жиIэращ: Ар дэ тщыщ дэтхэнэми пэжыжьэкъым! НэгъуэщI щIыпIэми мыр итщ: «Си гупэкIи си щIыбкIи Уэ сыкъыбохъуреихь». Мыр гурыIуэгъуэ щыхъур дэ дунейр къэпщыгъуищкIэ фIэкIа къызэрыттхузэщIэмыубыдэр щыпщIэм дежщ.  Ауэ дунейр куэдкIэ нэхъ инщ. Тхьэр нэгъуэщI къэпщыгъуэщ зыхэтыр, ауэ Ар ди гъунэгъущ. Фэ гуэныхь щывлэжьым деж, Ар гъунэгъуу къывбгъэдэтащ, зыри жимыIэу. Языныкъуэ цIыху илъэс 40 е 50 зи ныбжьхэм я балигъ гъащIэр гуэныхь защIэу къагъэщIа пэтрэ, итIани Тхьэм зыри къажриIэркъым.

         Тхьэм, дауи, уепсалъэ хъунущ. Ауэ мыбдеж Iуэхур зэщхьыр кIапсэрыкIуэ зи гугъу тщIаращ: зэрыпхузэфIэкIщ. ЦIыхум я нэхъыбэм нобэ жаIэн хуей мэхъу: «Сэ  схузэфIэкIынукъым!» КхъыIэ, и кIэм нэсу пэжыгъэм фытет: Фэ Тхьэм зэрелъэIум фыщыгъуэзэххэкъым. ФщIэуэ щытамэ, фхузэфIэкIынут! Ауэ фхузэфIэкIынукъым. Ди лъэхъэнэм и нэщэнэ Iейуэ щытщ Тхьэм елъэIуныр зэрыщыту зэрафIэкIуэдар, абы щIыгъууи фIэщхъуныгъэри зэрыбзэхар. ТхакIуэ цIэрыIуэ Франц Верфелъ роман итхащ «Уафэ зэхадыгъуэжар» жиIэу и цIэу. Абы зы псалъэуха ущрохьэлIэ, дапщэщи сигъэпIейтейуэ. Ар мыращ: «Иджырей лъэхъэнэм и нэщэнэу щытщ цIыхур метафизическэу къызэрикIуэтар». «Метафизическэ» псалъэмкIэ къигъэлъагъуэр мыухыжыгъэ гурыIуэгъуэу пэж дыдэу щыIэрщ, ауэ нэгъуэщI къэпщыгъуэм тету метафизическэ къикIуэтыныгъэм къикIыр радиор,  телевиденэр, къав куэдыр, пропагандэр, идеологиер, политикэр, гъунэгъухэр, фабрикэхэм щекIуэкI дэкъузэныгъэхэр зэхыхьэжу цIыхум Тхьэр зэрыщыIэри, Абы уепсалъэ зэрыхъунури къыгурымыIуэжу зэрызэщхьэщахурщ, акъмыкъ зэращIырщ. Уепсалъэ хъуну пIэрэ-тIэ Тхьэм? Хъунут, Тхьэм и Iуэхум и лъэныкIуэкIэ иужьрей илъэсищэм къыщыхъуа акъмыкъыгъэр мыхъуамэ!

         Илъэс 16 зи ныбжь щIалэщIэм зауэм къыщыщыщIа гуэрым и гугъу къысхуищIыжауэ щытащ. Абы и батареем кхъухьлъатэхэм бомбэ къыхадза нэужь, ар япэу бомбэзыщыхъумапIэм къикIри зи ныбэр къиуауэ щылъ цIыхум Iууащ. Абы дэIэпыкъуну и ужь щихьэм, лIым къыжриIащ: 

-  Сэ солIэ. Уэ зыкIи укъыздэIэпыкъуфынукъым. Сэ иджы сызыхуэныкъуэр сщIыгъуу Тхьэм елъэIуфын гуэрщ. ЕлъэIут Тхьэм, щIалэ!

                          Ауэ щIалэщIэм жэуапу иритаращ: 

-  Гитлер щIалэгъуалэм сыхэткIэрэ, сэ Тхьэм елъэIукIэракъым, шхыдэнкIэращ схузэгъэщIар».

         Ар жэри, капитаныр къишащ. Капитаным зи кIэтIийхэр къилэл лIым зыхуигъэщхъри, еупщIащ: 

-  Сыт ухуейт, ныбжьэгъу?

-  Капитан, сэ солIэ. Си гъусэу Тхьэм къызделъэIу!

-  Ди Тхьэ! - къыхэкIиикIащ капитаныр, - сэ Тхьэм зэрелъэIум сыщыгъуазэкъым!

         Ар жиIэри, лейтенант нэхъыжьыр къригъэшэну игъэкIуащ. ИкIи, мис, зэхэтщ ахэр, зауэлI хъыжьэхэр, куэд зи щхьэ тезылъхьэжхэр, сыт хуэдэ анекдот цIапIи къыбжезыIэфынухэр, ауэ абыхэм Тхьэм елъэIуф зы цIыхуи яхэткъым. А щIалэщIэм къызжиIаращ: 

-  Абдеж сыздэщытым сегупсысырт: мы зауэ фIейм зэ сыхэкIатэмэ, псом япэрауэ, Тхьэм елъэIукIэ сэзыгъэщIэн цIыху къэслъыхъуэнт. Сэ сыхуейтэкъым мы лIым ещхьу кIуэдыкIэ Iейр къысхуэкIуэну!

         Мис апхуэдэ щытыкIэщ нобэрей цIыхухэр зэрытыр. Зэщхьу зы ядэслъэгъуащ  сэ уи генеральнэ директорхэми, уи къызэрыгуэкI лэжьакIуэхэми: Языныкъуэхэм губзыгъащэу закъыщохъужри, Тхьэм елъэIуныр я щхьэ ирапэсыркъым, адрейхэр щхьэзыфIэфIагъым хэхуащ. Дэ Тхьэм елъэIуным дыщыужащ. ИкIи нэхъыбэу аращ Верфелъ «метафизическэ къикIуэтыныгъэкIэ» зэджэ катастрофэм дыхуэзышэр. Псори зэриухращи, гъащIэм къыдидз удыным дызэрыпэщIэтын къару дымыгъуэтыжу дыкъонэ. Эссен къалэм и бомбэзыщыхъумапIэм сист зэгуэри, сэ зэхэсхырт си гъусэу ис цIыхухэр зэрызыщытхъужыр - икIэм-икIэжым дэ дызэрытекIуэнум, фюрерым и телъыджагъэм, Германие иным тепсэлъыхьырт, ауэ бомбэхэм къэуэн щIадзэмэ, а псори зэуэ ящыгъупщэжырти, зэщIэкъугъэрт. Ауэ дэ, чыристанхэр, Тхьэм делъэIурт икIи чыристан гимнхэр жытIэрт, апхуэдэхэм шынагъуэр яхуэхьын папщIэ. Езыхэм Тхьэм елъэIукIэ ящIэртэкъым. Аращ, цIыхур Тхьэм емылъэIуфмэ - ар катастрофэщ!          Иджыблагъэ щIэныгъэ зиIэ цIыху губзыгъэ гуэр къызбгъэдохьэри пыгуфIыкIыурэ къызжеIэ:             - Зиусхьэн дин пашэ, тхьэлъэIур зыкIи сэбэп къысхуэхъуркъым!      Сэ абы жэуапу изотыж: 

-  Делагъэ жумыIэ! Уэ сигу къыбогъэкIыж пхъэ лъэрыжэкIэ къэбжыхьыным сэбэп пымылъу жызыIэ цIыху лъашэр. Абы, дауи, пхъэ лъэрыжэкIэ къыхуэжыхьынукъым! Пхъэ лъэрыжэм и сэбэпынагъым утепсэлъыхь хъунущ, ауэ абыкIэ узэпсэлъэнур, дауи, апхуэдэ ныкъуэдыкъуэракъым, пэжкъэ? Ауэ дэ ди хьэлыр ара мыгъуэщ. Тхьэм елъэIукIэ дымыщIэ пэтрэ, дыкъотэджри жыдоIэ:

«ТхьэлъэIур зыкIи сэбэп хъуркъым!» Си псалъэкIэмкIэ къывгурыIуагъэнщ абы и лъэныкъуэкIэ нэмыцэ цIыхухэм я цIыхухъу щIылъэныкъуэм пщIэ зэрахуэзмыщIыжыфыр. Фи фIэщ фщIы абы лъабжьэ зэриIэр. Нэхъ тхьэмыщкIэ дыхъуху, ди щхьэ нэхъ дыщотхъуж! Сэ схузэфIэкIатэмэ, ныщхьэбэ фIэмыкIыу, IумпIафIэ фыхъуауэ мыр жывэзгъэIэнт: «Тхьэм ещIэ чыристаным я нэхъ мащIэ дыдэу хузэфIэкIын хуейр Тхьэм елъэIуныр зэрыарар.

АтIэ сэ ар схузэфIэкIыркъым!» 

         Дауи, сэ сызэщIэзубыдэр ди цIыхубэ тхьэмыщкIэр акъмыкъ зэрыхъуам къыхэкI губжьым и закъуэкъым, абы къыщIыгъущ нэщхъеягъуэ куури. Сэ си жагъуэ мэхъу члисэм апхуэдэ щытыкIэм зыри Iей зэрыхимылъагъуэр икIи цIыхухэр Тхьэм елъэIуф хуэдэу фэ зэрызытригъауэр. Фэри ара фщIэр? Хъуромэ махуэшхуэм деж члисэм къокIуалIэ нэгъуэщI зэман абы зэи къыщIэмыхьэхэри. Апхуэдэ хъуромэ тхьэлъэIум хуэдэхэм деж члисэм цIыхур щIэз мэхъу. ИкIи дин пашэм Тхьэм елъэIун къыщыхуриджэкIэ, абыхэм псоми  я Iэгухэр зэтрапIэри я щхьэр ирахьэх. Апхуэдэм сэ си пIэм сыкъреш, сахэкIиящэрэт жызоIэ: «Къэвгъанэ, фэ фщыщу Тхьэм елъэIукIэ зыщIэр процентипщIи хъуркъым. Фэ зытевгъауэу ара къудейщ!» Сызахуэкъэ сэ? Нэчыхь щатхкIэ Тхьэм елъэIуну къыхураджэ, хьэдэ щыщIалъхьэкIи аращ. ИкIи, мис, псори я пыIэхэр я Iэм IэщIэлъу зэхэтщи, я нэхэр а пыIэхэм траубыдамэ, Тхьэм елъэIуу къащохъуж. ТхьэлъэIур зэфIэкIакъэ - замыщIэжу зэрогъафэ! Сэ сэлэту сыщыщытам, 1915 гъэм и пэкIэ, зэгуэр унафэ къытхуащIат члисэм дыкIуэну. Фелъдфебелым диущийрт: «Фэ щэху дыдэу сатырхэм фаблэкIын хуейщ. ТIысыпIэхэм фыдыхьа нэужь, фыкъэувыIэ, 12-м нэс фигукIэ фыбжи, итIанэ фетIысэх». ЦIыхухэм, сэлэтхэм апхуэдэу зэращIыр щалъагъукIэ, я гугъэт: «Я гум хыхьауэ Тхьэм зэрелъэIу ахэр!» Мыдрейхэр 12-м нэс гукIэ бжэуэ итIанэ етIысэх къудейуэ арат! Сэ шэч къытесхьэркъым нэчыхьытххэмрэ хьэдэщIэлъхьэхэмрэ я деж «Тхьэм девгъэлъэIу!» жаIа нэужь, цIыхухэр 12-м нэси зэрымыбжэм. СигукIэ блэкIам сыщIобэг, абы щыгъуэ «Тхьэм девгъэлъэIу!» псалъэхэм я ужькIэ цIыхухэм фэ зытрагъауэ мыхъуу, я фIэщу Тхьэм елъэIуу зэрыщытам сыщегупсыскIэ. 

         Африкэм и Кум и къэхутакIуэ щэджащэ Давид Ливингстон - дуней псом къыщацIыху лIыгъэшхуэ зыхэлъа, щIэныгъэ куу зиIа цIыху акъылыфIэр – хьэдрыхэ мыпхуэдэу кIуащ (къызэрыгуэкI цIыхум «лIащ» жиIэнут). Абы щыгъуэ ар Африкэкум щыIэт а щIыпIэм щыщ и хьэлъэзехьэхэм фIэкIа щIымыгъуу. Зэгуэр, пщэдджыжьу хьэлъэзехьэхэм хьэпшыпхэр зэщIакъуэжат, шэтырхэр яшыхьыжат. Ауэ Ливингстон и шэтыр закъуэр иджыри щытт. Ар ягъэпIейтейртэкъым, ар Тхьэм пщэдджыжькIэ зэрелъэIур ящIэрти. Ар йопсалъэ езым и Уэгу Адэм, и Тхьэм. Ауэ мы зэм кIыхьыIуэ хъуащ а Iуэхур. ИкIэм-икIэжым, хьэлъэзехьэхэм я унафэщIыр дамэдазэ гуэркIэ шэтырым щIэплъэри, къилъэгъуащ ар иджыри лъэгуажьэмыщхьэу зэрыщытыр. Шэджагъуэ хъуху ежьащ абы. ИтIанэ, икIэм-икIэжым, шэтырым щIыхьэну тегушхуащ. Ар иджыри щытт лъэгуажьэмыщхьэу, ауэ и гур къеуэжыртэкъым.        А цIыху иныр, акъыл щэджащэр, лъэгуажьэмыщхьэу Тхьэм елъэIуу лIащ, Уэгу псэупIэм Зиусхьэным деж кIуэжащ. ИтIани нэмыцэ зэхэщIыкIыншэ гуэрым жеIэф: «Тхьэм уелъэIуным мыхьэнэ иIэкъым», - жиIэу. ДыукIытэркъэ? Ди нэпсхэм къызэпажыхьауэ зыдумысыжыпхъэт: «Сэ Тхьэм селъэIужыфыркъым!» - жытIэу. Ливингстон елъэIуфырт. Ар лъэгуажьэмыщхьэу лIащ. Дэ сымаджэщым дыщолIэ, мастэкIэ дагъэундэрэщхъуауэ.  Дохутырхэм хущхъуэкIэ дамыужьыгумэ, лIэныгъэм и шынагъуэм дыпэлъэщыркъым дэ. Ауэ а цIыхур хущхъуи масти хуэныкъуэтэкъым. Ар Тхьэм епсалъэрт икIи апхуэдэу епсалъэурэ ахърэтым кIуащ. 

         Унагъуэм Тхьэм щелъэIуным и Iуэхур дауэ щыт? Си адэ-анэм я унэ сабийуэ 8 зэрысым ар зэрыщекIуэкIыр мыпхуэдэут: пщэдджыжьым, дышхэн и пэ, псори дызэхуэсырт. Дэ гимн уэрэду жытIэрт: «Уэ пщэдджыжь нэхум хуэжыджэр, икIи тхьэлъэIукIэ зыбгъэбыдэным хуепIэщIэкI ...» е «Зиусхьэныр гъэлъапIэ уэ, си псэ, фIыгъуэ псори къызыпыкIым и щIыхьыр Iэт!» Библием и зы псалъащхьэ дыкъеджэрт итIанэ. ИкIэм си адэр Тхьэм елъэIурт. ИкIи уеблэмэ сэ тхьэншэ сыхъуа нэужьи, ди унагъуэм Тхьэм щелъэIуу щытащ. Сэ сакъыпыхуу, офицер щIалэщIэу сыщыткIэрэ, гъуэгу цIэнтхъуэрыгъуэ сыщытехьам щыгъуэ, си адэ-анэм я тхьэлъэIур сэркIэ гъуэгум дэжэххэр къигъэувыIэу гъуэгубгъум трагъэувэ IущIапIэм хуэдэу щытащ. Фэри фи унагъуэм исхэр фызэхуэсу пIэрэ пщэдджыжь тхьэлъэIу фщIыну? Фэ зыфхузогъазэ, лIыхэ! Фи унагъуэм и унафэ тэмэму фымыщIамэ, Тхьэм зэгуэр къыфпиубыдынущ фи бынхэмрэ фи фызымрэ я псэм щхьэкIэ жэуап фхьын хуейуэ. Махуэр дауэ къызэрыщIэвдзэр фэ? Гимнхэр щыжаIэрэ фи деж? Тхьэм и Псалъэм къыщеджэрэ? Тхьэм зэрелъэIу умыщIэу ара? АтIэ уи сабий цIыкIухэм: «Папэ, пщэдджыжьым дэ тщIыгъуу Тхьэм къыдделъэIу!» - жаIэу къолъэIумэ, пщIэнур сыт?     Зы зиусхьэн хъарзынэ гуэр, Эссен щыщу, езым и деж сыщIыхьэну къызэлъэIуат. И фызымрэ езымрэ щIэсу сарихьэлIащ, икIи мыращ абы къысхуиIуэтар: «Зы бэлыхьлажьэ къэхъуащ. Илъэс 16 хъу си къуэр, уэ щIалэгъуалэм уакъыхэпсэлъыхьа нэужь, абы къикIыжри къызэупщIащ: «Ди унэм сыт Тхьэм щIыщемылъэIур?» - жиIэри. Сэ абы къыгурызгъэIуэну иужь сихьат ар фэрыщIагъ къудейуэ, зыри къимыкIыу зэрыщытыр, ауэ ар аргуэру къызэупщIащ: «Папэ, Тхьэм и Псэ ЛъапIэм дауэ уеплърэ уэ?» Сэ жесIащ Абы сызэремыгупсысыххэр. Абы и жэуапу си къуэм жиIаращ: «Ди унагъуэм и насыпыншагъэр мис аращ къызыхэкIыр. Тхьэм Езым и Псэ ЛъапIэр къыдитыну елъэIуфын адэт дэ дызыхуейр!» Аращ а зиусхьэным къысхуиIуэтэжар. Сэ абы зыхуэзгъэзащ: «Уи къуэм сепсалъэмэ, нэхъыфIу пIэрэ и адэм апхуэдэу кIуэцIрыкъуэу емыпсэлъэну?» Ауэ зиусхьэным идакъым: «Хьэуэ! Хьэуэ! Сэ сызэрегупсысымкIэ, си къуэр захуэмэ, сэ гъуэгу пхэнж сытету аращ!» Сэ къысхуэнэжырати, щыхьэт сытехъуащ и къуэр зэрызахуэм, езыр гъуэгу пхэнж зэрытетым. «Аракъэ сэ езыри сызыщышынэр, ауэ сыт-тIэ сэ сщIэн хуейр?» - къызэупщIащ а зиусхьэныр. 

         КъывгурыIуэрэ, а лIым занщIэу къыгурыIуэжащ унагъуэм и нэхъыжьу щыткIэрэ, игъэзэщIэн хуей къалэныр зэрыIэщIэгъупщыкIар. Фи бынхэр вгъашхэрэ фхуапэкIэ зэфIэкIыркъым. Фэ, адэхэм, куэдкIэ нэхъ жэуаплыныгъэшхуэщ фи пщэ дэлъыр! Тхьэм фелъэIуфу пIэрэ?

         Матросхэм таурыхъ гуэр кърахьэкI псоми ябгынауэ, ауэ щIимылъафэу, дунейм хыуэ тетыр зэщIигъэхьэу къэзыкIухь кхъухъ нэкъыфIэщIым теухуауэ. Иджыри кхъухьхэр абы зыгуэркIэ хуэзамэ, радиокIэ зыпащIэну и ужь йохьэ, ауэ жэуап къаритыркъым. Ди лъэхъэнэм и цIыхухэр а кхъухьым ещхьщ. Тхьэм зыкъытпищIэну и ужь итщ. Абы Езым и сигналхэр къытхурегъэхь къэхъугъэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ, псом япэу Езым и ПсалъэкIэ. Ауэ дэ жэуап  еттын тхузэфIэкIыркъым. Дыкхъухь нэкъыфIэщIщ!

         А темэм теухуауэ зэгуэр цIыхухэм сахэпсэлъыхьауэ, сабий цIыкIу къызэдэIуар и анэм йоупщI: «Кафедрэм деж щыт а дадэр апхуэдэу щхьэ шхыдэрэ?» - жеIэри. Сэ сыщогугъ фэ сыкъывгурыIуэу, сэ сышхыдэу аракъым, гукъеуэм сызэгуиуду аращ: мы ди цIыху тхьэмыщкIэхэм я Iуэхур зыхуэкIуам еплъ - интеллигенцэри, лэжакIуэхэри, цIыхухъухэри, цIыхубзхэри, жьыхэри  щIэхэри - псори Тхьэм еджэжыфыркъым, Ар гъунэгъуу къабгъэдэт пэтми.

                   ЦIыху куэд чыристанкIэ зоджэж, ауэ Тхьэм зэрелъэIум щыгъуазэкъым. Унагъуэхэм сыщихьэкIэ, мыпхуэдэ псалъэмакъ куэдрэ зэхызох: «Дэ Тхьэр куэду ди фIэщ мэхъу, зиусхьэн дин пашэ. Си анэм дин пашэ Шульц ицIыхуу щытащ. Уэ пцIыхурэт ар ? ПцIыхутэкъэ? АтIэ си анэм фIы дыдэу ицIыхуу щытащ ар!» Апхуэдэхэм деж мыр жэуапу язот: «Iуэхур здэщыIэр Хьисэ и цIэр къевджэфынырщ, Тхьэм елъэIукIэ фщIэрэ фэ? Хьисэ фымыцIыхумэ, фи гъуэгум жыхьэнмэм и кум фыхишэу аращ ! КъывэмыхьэлъэкIыу фызэупщIыжыт дэтхэнэри: «Тхьэм елъэIукIэ сщIэуэ пIэрэ сэ? Тхьэм селъэIур пэж сэ?» ИкIи фэ езым жэуап зэфтыж абыкIэ.

         ЖыфIэнкIэ хъунущ мыпхуэдэу: «Куэдщ, дин пашэ Буш, къэгъанэ! Абы нэхърэ нэхъыфIщ, Тхьэм делъэIуфу зэрызедгъэсэнур къыджеIи». Мис ар дыдэращ сэри иджыпсту си мурадыр.

 

2. Тхьэм селъэIуфу дауэ зезгъэсэну?

 

а) ГъащIэм и япэ кIий макъ

Аращи, псэлъэфу дауэ зэрызрагъасэр? Къыфхуэбзыгъы-жыну пIэрэ псэлъэкIэ зэвгъэщIауэ зэрыщытар? Хьэуэ, ар къыфхуэщIэжынукъым! Сэри аращ. Ауэ Тхьэм фелъэIуфу зевгъэсэну фыхуеймэ, псом япэрауэ гъащIэм, Тхьэр зыхэлъ гъащIэ нэсым и япэ макъыр къэгъэIун хуейщ. Иджыпсту вжесIэнщ ар зэрыфщIэну щIыкIэр.

         Хьисэ зэгуэр жиIэжыгъащ мыпхуэдэ Iуэху къэхъуауэ. ЦIыхуитI члисэм кIуат. Абыхэм я зыр пщIэ зиIэ, къулыкъуфI зыIэщIэлъ гуэрт. Ар кIуэрыкIуэм тету кIуэцIрыкIри къыщIидзащ: «ФIыуэ слъагъу Зиусхьэн, Уэ фIыщIэ пхузощI сэ апхуэдэу сызэрыфIым папщIэ». Зиусхьэнми занщIэу и тхьэкIумэр Iуипхъуэтащ. А лIыр сыт хуэдизкIи псалъэ хъунут, ауэ Тхьэр абы афIэкIа къедэIуэжтэкъым. Къохъу апхуэди! ЕтIуанэ цIыхур дзыхь зыхуамыщIхэм ящыщт. ЗэрыжаIэщи, щIэпхъаджэ щIэным дихьэх гуэрт. Е сондэджэрт, е жыпиIэбэт, е апхуэдэ гуэрт.

Библиер абы зэреджэр  «подэтхэхщ». Ар члисэм щыщIыхьэм, абы и теплъэ уардэм щтэIэщтаблэ ищIащ, бжэм деж къыщувыIэри егупсысащ: «Мыр сэ си щIыпIэкъым! Сэ сыздэщыIэну схуэфащэр псори щызэрызехьэ ефапIэ гуэрщ, мыракъым». Абы къыщIэкIыжыну зигъэхьэзырауэ, къыщIэкIуар игу къокIыж. Ар Тхьэм щIэбэг зэпыткъэ! Адэм деж игъэзэжыну! ИкIи а цIыхур щIэкIыжыфыркъым. ЩIыхьэнуи тегушхуэркъым. Абы и гъащIэр зыхуэдэр игу къокIыж, икIи, и Iэхэр зэгуелъхьэри, зы псалъэуха закъуэ къыжьэдокI: «Ди Тхьэ, сэ, гуэныхьщIакIуэм, гущIэгъу къысхуэшI!» Библием жеIэ абдеж уафэгу уэрэджыIакIуэхэм уэрэд къыхадзауэ, сыту жыпIэмэ цIыхур къэпсэужат.

                             ГъащIэщIэм и япэ кIий макъыр мыращ: »Сэ гуэныхь злэжьащ!» 

Иджыпсту ар щапхъэкIэ фэзгъэлъагъунщ. Си къуэ нэхъыжьыр къыщалъхум щыгъуэ, си фызыр мылъхуэфу хуабжьу гугъу ехъащ. Сэ Хьисэ и псалъэхэм сегупсысырт: «ЦIыхубзыр щылъхуэкIэ гузэвэгъуэ хэтщ». Сэ къысфIэщIырт фIыуэ слъагъу си щхьэгъусэр къемылыну. Ауэ абдеж макъ цIу цIыкIу къэIуащ. Ар сабийм и макът! ГъащIэщIэ къэунэхуат! А сабийм игъэIум нэхъ макъ дахэ щыIэнкIэ Iэмал иIэтэкъым.Ар щызэхэсхам сыкъэпыхьащ. КъывгурыIуэрэ, сэ абы сызэщIиубыдат: гъащIэщIэм и япэ макъым!

         ИкIи, флъагъуркъэ, Тхьэм дежкIэ гъащIэм и япэ кIий макъыу щытыр цIыхум, икIэм-икIэжым, пэжым и нэхур къыхузэIуихыу абы: «Сэ гуэныхь злэжьащ! Сэ гуэныхьщIакIуэм гущIэгъу къысхуэщI!» - зэрыжиIэрщ. ИкIи фи тхьэлъэIу псори зырикIщ, пэщIэдзэу мис а япэ кIий макъыр хэмытамэ. Сэ иджыри къыздэсым сабий зэи слъэгъуакъым, и гъащIэр япэрей кIий макъкIэ мыхъуу уэршэр кIыхькIэ къыщIидзауэ. Абы ещхьыркъабзэу Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэхэм узышэ нэгъуэщI гъуэгу щыIэкъым!

         ГъащIэм и япэ кIий макъ! Фэ ар вгъэунэхуакIэ? Вгъэунэхуакъэ? Абы  щыгъуэ, Тхьэм щхьэкIэ, IумпIафIэ фыхъу! Сэ члисэм срипропагандист къудейуэ аракъым ар щIыжысIэр, сэ хуабжьу сыхуейщ фэ фщыщ языныкъуэхэр жыхьэнмэм хэмыхуэу къэзгъэнэну! Абы нэгъуэщI гъуэгу иIэкъым, фэ гъащIэм, Тхьэм хэт гъащIэм, и япэ кIий макъыр къывжьэдэкIын хуейуэ аращ: «Сэ  гуэныхь злэжьащ! Ди Тхьэ, сэ гуэныхьщIакIуэм гущIэгъу къысхуэщI!»

         Къуэ щхьэрыуар кхъуэхэм къахэкIыу и унэм къыщигъэзэжам щыгъуэ, япэу жиIауэ щытар мыращ: «Си адэ, сэ Уафэми Уэри фи пащхьэ гуэныхь щызлэжьащ». ИкIи мис апхуэдэу щыжыфIа напIэзыпIэм Тхьэм и Къуэ Хьисэ хъыбар фигъэщIэнщ: «Ныбжьэгъу лъапIэ, сэ уи гуэныхьхэм папщIэ сылIащ! Сэ сыпшынащ уи щIыхуэр!»

 

 

б) Тхьэм и бынхэращ нэгъэсауэ Тхьэм елъэIуфыр

 

         Иджыблагъэ сэ сыIущIащ си цIыхугъэ гуэр и бын дыгъэщыгъэ цIыкIуищыр – зы щIалэ цIыкIурэ хъыджэбз цIыкIуитIрэ - щIыгъуу. Сэ гу лъыстащ сабийхэр щыри зэуэ я адэм зэрызэдепсалъэм. Адэм псоми жэуап яритыну хъущIэкъурт. Сащыхуэзэм, фIэхъус есхащ: «Уи махуэ фIыуэ, зиусхьэн, фи махуэ фIыуэ, цIыкIухэ!» Ауэ сабийхэм я бзэр зэуэ пичащ. Сабийхэр теутIыпщхьауэ зэпсэлъэфыр я адэрщ е я анэрщ. Хамэ щрихьэлIэкIэ, ахэр мэукIытэ.       

         Дэри мис апхуэдэу нэгъэсауэ Тхьэм дыщелъэIуфынур Тхьэм и бын дыхъуа нэужькIэщ! Тхьэ дыщIемылъэIуфри Тхьэм дрибынкъыми аращ.         А-а, пэжти, дэ «члисэм дыщыщти», дэ «дычыристанти», хъуромэм деж члисэм докIуэри, дин пашэм дыхуэзамэ, щэныфIэу фIэхъус идохри, абы и жагъуэ зэрыдмыщIыным дыхэти. УщиякIуэхэм ящыщ гуэрым зэгуэр жиIащ:

«Ахэр яумэхъа  тхьэкIумэкIыхьхэщ», - жиIэри. Абы жиIам къикIым къыщыщIэупщIэм, жэуапу яритыжаращ: «ТхьэкIумэкIыхьыр къэбубыдрэ уумэхъмэ , ар аргуэрыжьу губгъуэм илъэдэжынущ. Мыхэри аращ: яумэхъа нэужь аргуэру дунейм тохьэж». Ныбжьэгъу лъапIэхэ! Абы Iуэхур тетмэ, фэ Тхьэм фелъэIуфынукъым! Тхьэм и бынхэм я закъуэщ Тхьэм нэгъэсауэ елъэIуфыр! Абы къыхэкIыуи, Тхьэм и бынхэм я закъуэщ гуфIэгъуэ нэс зиIэнкIэ хъунури!

Флъагъуркъэ? Фэ Тхьэм и бын фыхъун хуейщ! Фи щэныжькIэ фэ фыапхуэдэкъым. Чыристан теплъэ фиIэнкIи хъунщ, ауэ Тхьэм фрибынкъым. Сабийр Iэмал имыIэу къалъхун хуейщ, Тхьэм и быным Iэмал имыIэу щIэрыщIэу къэхъужын хуейщ. Фэ Тхьэм и бын фыхъупхъэщ, абы щыгъуэщ Тхьэм фыщелъэIуфынур! Тхьэм и бынхэр тхьэлъэIуншэу псэуфынукъым. Тхьэм и бынхэм я дежкIэ тхьэлъэIур бэуэныгъэм хуэдэщ. Сэ си цIыкIухэм, гушыIэурэ щIэх-щIэхыурэ зым адрейм игу къегъэкIыж: «Убэуэныр зыщумыгъэгъупщэ!» - жаIэри. Фэ фи псэм и бэуэныгъэр фщогъупщэ! Тхьэм и бынхэм я дежкIэ Тхьэм уелъэIунри убэуэнри зыщ. Аращи, фэ Тхьэм и бын фыхъун хуейщ.

                            Сэ кIэщIу вжесIэнщ Тхьэм и бын узэрыхъуфынур: ХьисэкIэщ! Абы жеIэ:

«Сэ сыбжэщ. СэркIэ щIыхьэр къелынущ». Мис гъащIэ кIыфIыгъэм къыкIуэцIрыкIыурэ къыфхуокIуэ Хьисэ, зи Iэхэм гъущI Iунэ хаукIауэ щытахэм ящIа уIэгъэхэр зытелъ лIыр. Фэ Ар къыффIэIуэхуакъым иджыри къэс. Хьисэ теухуа хъыбарыр фэ шыпсэу къыффIэщIырт. Ауэ Ар фэ къыфхуокIуэ. Ар фэ нэгъуэщI къэпщыгъуэм щыщ ЛIыуэ, Тхьэ псэум и Къуэу, фи КъегъэлакIуэу къэфлъытэнри хэлъщ. Тхьэм и бын ухъунымкIэ гъуэгум и япэ лъэбакъуэу щытыр Хьисэ дэныращ. ЕтIуанэ лъэбакъуэр - Хьисэ си гъащIэр, псэм и пIейтеиныгъэр, щэхуу сIэщIэщIахэр, щIалэгъуэм и гуэныхьхэр псори зэрызэригъэзэхуэжыфынур хьэкъыпIэкIэ си фIэщ хъунырщ, абыкIэ си дзыхь езгъэзынырщ. Япэ ЗэгурыIуэныгъэм хэт Тхьэм и цIыхухъу гуэрым жеIэ: «Уэ си хьэкумри си зэдауэри зэхэбгъэкIащ». Зэгуэр къоунэху зэман, уи гъащIэ блэкIа псор IэщIыб пшIыну утегушхуэн хуэдизу Хьисэ уи дзыхь сыткIи ебгъэзу, икIи уи гъащIэ псор Абы и IэмыщIэ иплъхьэу. Дэ абы дызэреджэр щIэрыщIэу къалъхужыныращ. Сэ си гъащIэм ар къыщыщыхъуар илъэс 18 сыхъуу тхьэншэ гъащIэм сыкъыпыкIыу си гъащIэр Хьисэ щестам щыгъуэщ. АбыкIэ сэ зы цIыхуи къыздэIэпыкъуакъым. Сэри фэ  сывдэIэпыкъуфынукъым абыкIэ. Ар Абырэ уэрэ фи закъуэ влэжьын хуей Iуэхущ. Фытегушхуи жефIэ Абы: «Ди Тхьэм гъащIэр узот: ар зэрыщыту ууейщ». Мис ар щыфщIэ дакъикъэм фэ Тхьэм и бын фыхъунущ. Си деж зыгуэрхэр къокIуэри зэрызыкъебгъэлыфын нэгъуэщI гъуэгухэри щыIэу си фIэщ ящIыну хэтщ. ФыфIэфIыху фыхэт! Ауэ сэ вжесIэнуращи, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм зы бжэ закъуэщ хэлъыр! Абы и цIэр Хьисэщ! Дэр щхьэкIэ лIэуэ лIахэм къахэтэджыкIыжа Хьисэщ!

         КхъыIэ, Хьисэ фыпежьэ! Абы фэ куэд щIауэ фыкъелъыхъуэ! Тхьэм и бын фыхъуа нэужь, фэ Тхьэм фелъэIуфынущ, итIанэ фи гъащIэм хэлъ бэлыхьхэр иухынущ, итIанэ фи гум щыщIэ псори Хьисэ жефIэфынущ, сабийм и адэм зэрыжриIэм хуэдэу.

         Сэ сыдин пашэ лIыжьщ икIи, цIыху Iэджэм я гъащIэр зджыурэ, хьэкъыу спхыкIащ дэтхэнэ цIыхуми и гъащIэ псом кIуэцIрих щэху Iей гуэрхэр зэриIэр. Ауэ Тхьэм и бын ухъуа нэужь, уи гум илъыр Хьисэ хуэпIуатэ хъунущ. Абы къебгъащIэ хъунущ а уи щэху Iейхэр, уэ езыр узыпэмылъэщынухэр, уи зэпыщIэныгъэ, хьэл-щэн Iейхэм щыбгъэгъуазэ хъунущ. Зы цIыхуми дзыхь хуэпщI  мыхъунури Абы хуэпщI хъунущ.     Илъэс 18 хъу щIалэм  жиIэжауэ щытащ, ар чыристану щытми, абы зэгуэр хущIегъуэж зэрыхэтар. ИкIи мис, Библием и сыхьэтым и пэ, абы Хьисэ зыхуигъэзащ: «Хьисэ, Уэ ныщхьэбэ уи Псалъэр сэр щхьэкIэ япэ жумыIэмэ, сэ псори IэщIыб сщIынущ. ЕкIуэкIыр зэхэщIыкIыгъуэу къэдмыщIэмэ, сэ адэкIэ къару сиIэжкъым зысIыгъынуи, мы къалэшхуэ гъащIэм сыхэтынуи». Библие сыхьэтыр иухауэ и унэ къыщыкIуэжым, абы дежкIэ псори гурыIуэгъуэт. АдэкIэ мыпхуэдэу пищащ абы и хъыбарым: «Хьисэ си тхьэлъэIур зэхихащ икIи сэ си щхьэкIэ щхьэхуэу къызэпсэлъащ». Сэ гукIэ зыхэсщIащ щIалэщIэм и хъыбарыр, ар дзыхьмыщIыныгъэмрэ щIегъуэжыныгъэмрэ я кууупIэм хэту Хьисэ зэрызыхуигъэзам икIи жэуап къызэрыIэрыхьам теухуауэ. Тхьэм и бынхэм я тхьэлъэIухэм я жэуапу къаIэрыхьэхэр зыхуэдэр фи нэгу къыщIэвгъэхьэфатэми!

         Сэ зауэм сыщыщыIэм, си анэм нысхуитхырт: «Сэ ныжэбэ сыхьэтищым сыкъызэщыуащ, икIи си гум къихьащ си бынхэмрэ си бынырылъхухэмрэ, фэ мафIэлыгъэм хэтхэм сынывэгупсысащ, сегупсысащ Елизаветэ, Канадэм щыIэм, икIи зи хъыбар дымыщIэм. ИкIи абдеж шынагъуэм сызэщIубыдащ, IэщэкIэ зэщIэузэда зауэлI гуэрым гъущI IэлъэкIэ ситхьэлэ хуэдэ. Ар схуэмыхьу, Тхьэм селъэIуащ: «Хьисэ, зы псалъэ нэхъ мыхъуми къызжеIэ, арыншамэ, мыпхуэдэ гузэвэгъуэр схуэхьынукъым!» ИтIанэ уэздыгъэ пызгъэнащ, Библиер къасщтэри къызэтесхащ. Япэу сыкъызэджа псалъэхэр мыращ: «Фи гузэвэгъуэ псори Тхьэм ефхьэлIэ, сыту жыпIэмэ Абы и нэIэ къыфтригъэтщ  ...»  Абдеж сэ зэуэ псори си КъегъэлакIуэм и пщэ дэслъхьащ, уэздыгъэр згъэункIыфIри гуфIэгъуэр си гум илъу сыжеижащ». Мис ар хъуащ!

Апхуэдэу щыпхуэщIэнур Тхьэм ущрибыным дежщ! 

                          Сигу къокIыж си анэм зэгуэр жиIауэ щытар: 

- Дыгъуэпшыхь апхуэдизкIэ сезэшати, Тхьэм селъэIужыфакъым. Мыр жысIа къудейщ: «НэхулъэфI укъикI, КъегъэлакIуэ лъапIэ!

Абдеж сэ сегупсысащ: «Тхьэм и бынхэр я Зиусхьэным тыншу зэрепсалъэр плъагъурэ!» Ар, пэж дыдэу, дэ къытхуосакъ, дэтхэнэ сыхьэти, ар ирежэщ, ар иремахуэ, Ар къыдбгъэдэтщ, сэри Абы срейщ икIи Абы сыткIи сыщыгугъ хъунущ.

         КъывгурыIуа? Тхьэм зыгуэр емылъэIуфмэ, ар катастрофэ нэсщ. Сэ фэ сыфхуоупсэ гъащIэм и япэ кIий макъымкIэ: «Сэ гуэныхь злэжьащ! Ди Тхьэ, сэ, гуэныхьщIакIуэм, гущIэгъу къысхуэщI!» Сэ сыхуейщ Хьисэ ей фыхъуху, Тхьэм и бын фыхъуху, фымыувыIэну! Мис итIанэ фэ сигу фщIэгъуныр къэзгъэнэнущ.

 

..