.

ДУНЕЙР ЩЫКЪУТЭЖЫНУР ДАПЩЭЩ?

 

         Куэд щIакъым сатуущIэ лIы гуэрым сызэрепсалъэрэ. Ар си дамэм къысхутеуIуэри, жиIэращ: 

-              Зиусхьэн дин пашэ! ЩIалэгъуалэр фIым зэрыхуэбущийр хъарзынэщ! 

Абы и жэуапу мыр естащ: 

-              Пэжыр жысIэнщи, сэ куэд дыдэкIи сыгугъэркъым. Библием итщ цIыхум и щIалэгъуэм  щегъэжьауэ и гур зэкIуэкIыу. Абы къыхэкIкIэ, си гугъэщ къыхуеджэныгъэхэр куэдкIэ дэIэпыкъуэгъу мыхъуну. Сэ нэгъуэщI гуэрт сызыхуейр. 

-              Ар сытыт? 

-              Сэ сыхуейт а щIалэщIэхэр Зиусхьэн Хьисэ ей хъууэ щIылъэми ахърэтми Тхьэм и быну щыщытыну! - къыгурызгъэIуащ абы си хъуэпсапIэр. 

-              Ах, зиусхьэн дин пашэр, - къысхуидакъым абы, - ар сыт а жыпIэр? Дэ лъабжьэ быдэ диIэну дыхуейкъэ?! 

Псалъэ дахэщ, пэжкъэ? «Дэ лъабжьэ быдэ диIэну дыхуейщ!» Сэ ину сыдыхьэшхри сеупщIащ: 

-              Ар сыт хуэдэ лъабжьэу пIэрэ уиIэну узыхуейр, зиусхьэн директор лъапIэ? Уэ иджыри гу лъумытауэ ара дэ лъакъуэкIэ дызытетыр Iэджэ щIауэ зэрызэщIэскъыскъэм? 

Си гугъэмкIэ, IуэхущIапIэшхуэм уридиректорыни хуейкъым, дэ ди тегъэщIапIэм дзыхь тепщIэж зэрымыхъунум гу лъыптэн папщIэ.  ЦIыхухэр зэрыщыту шынагъуэм зэщIиубыдащ: псоми шынагъуэншагъэ къалъыхъуэ, абы щыгъуэми дэтхэнэми зыхещIэ ар зэрыщымыIэр. Языныкъуэхэми Швейцарием чек тхылъ щызэрагъэпэщ, адрейхэм бомбэзыщыхъумапIэ Боливием щаухуэ. ЗыщIыпIэ нэхъ щышынагъуэншэнкIэ хъунщ. Ауэ, дауэ хьуами, дэ зыхыдощIэ, и нэм нэсамэ, дэни зэрыщымышынагъуэншэр! Абы къыхэкIкIи ди зэманым мы упщIэр Iэмал имыIэу къегъэув: «ДяпэкIэ ди дунейр зэрыхъунур дауэ?» «Дунейр щыкъутэжынур дапщэщ?» - упщIэр ди лъэхъэнэм и нэщэнэ наIуэ хъуащ. 

          Илъэс зыбжанэ и пэкIэ ягъэлъэгъуащ Швейцарием щыщ тхакIуэ цIэрыIуэ Дюрренматт и пьесэ «Физикхэр». Абы и кIэухым деж физикхэм ящыщ зым ди къэкIуэнум теухуауэ жиIэр хуабжьу хэплъэгъуэщ: цIыхухэм  зэгуэр атом бомбэмкIэ загъэкIуэдыжынущ. АдэкIэ мыращ абы къыпищэр: «Зэриухынуращи, радиацэм зэщIищта щIыр увыIэгъуэ имыIэу, къикIи щымыIэжу зыщIыпIэ щыджэрэзынущ». Уи нэгу къыщIоувэ мыхьэнэ имыIэу уэгум хэджэрэзыхь щIы зэщIэщтхьар, зэхэкъутар. Иджырей тхакIуэр апхуэдэу  гущIэгъуншэу дунейр зэрыкъутэжынум зэрытетхыхь къудейм куэд къегъэлъагъуэ. Ауэ сэ си гугъэкъым щIыр радиацэм зэщIищтауэ уэгум итыну. Ар езы Дюрренматт тхакIуэм жесIамэ, ар къызэупщIыну къыщIэкIынт: 

-              Уэ сыт апхуэдэу ущIигугъэр? Мы ди зэманым и нэщэнэ псомкIи дызыхуэкIуэнур нэрылъагъукъэ?! - жиIэу. 

Сэ абы къыгурызгъэIуэнт: 

-              Ар щIыжысIэр Библием итыр нэгъуэщIщи, аращ. Зиусхьэн Хьисэ жиIащ цIыху лъэпкъыр зыри къэмынэу зэи зэрымыкIуэдынур. Ауэ щыхъукIэ, псори зэрыхъунур а уэ узэригугъэм хуэдэукъым, а жыпIэм щыхьэт техъуэ нэщэнэ куэд щыIэ пэтми!

 Дауи, мыпхуэдэ упщIи къоув: къэхъунум теухуауэ хэт жиIэра уи фIэщ пщIынур?

         КъэкIуэнур кърипщIэ хъун хуэдэу IэмалитI къагъэлъагъуэ, тегъэщIапIэ ямыIэу.

         А IэмалитIым я зым хуэIэзэу щытащ Йозеф Геббельс. Ар сыт Iэмал жыпIэмэ, къэкIуэнум теухуауэ таурыхъ, шыпсэ зэхалъхьэу ара къудейщ. Иджыпсту зэхэсх хуэдэщ абы мыр зэрыжиIэр: «Илъэситху дэкIмэ, нэмыцэ къалэхэр игъащIэм зэрыщымытауэ дахэ хъунущ». Аращи, а Iэмалым къигъэсэбэпыр зыхуейр я «пшынэм кърагъэкIыу», езым я хъуэпсапIэр къэкIуэнум и сурэту ящIу аращ. А Iэмалым хуабжьу хуэIэкIуэлъакIуэщ »Иегов и щыхьэт» жыхуаIэхэр. Дэ тщыщ нэхъыжьхэм иджыри ящIэж 1925 гъэм плIанэпэ къэс мыпхуэдэ плакатхэр фIэлъу зэрыщытар: «Ди зэманым псэу цIыху мелуанхэр лIэнукъым». А псалъэхэр къызыбгъэдэкIыр «Библиер куууэ къэзыхутэу» жызыIэхэрат. Ауэ абы щыгъуэ цIыхухэр игъащIэм зэрылIэу щытам нэхърэ нэхъыбэу зэтелIэрт. Арати, ауэ сытми хъыбар дахэ хузэхалъхьауэ арат къэкIэнум. ИужькIэ абыхэм «Иегов и щыхьэткIэ» зэрахъуэкIыжащ зэрызэджэж я цIэр. Иджы, хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, абыхэм нэгъуэщI гуэр къагупсысу къыщIэкIынущ.

         ЕтIуанэ Iэмалыр Iэгуаплъэ, джэшыдз сыт хуэдэхэм къагъэсэбэпырщ. Абы теухуауэ зыри сщIэркъым, сщIэнуи сыхуейкъым куэзыр зэрадз, спиритизм, гороскоп, нэгъуэщI къинэмыщI делагъэхэм теухуауэ. ВжесIэнщ абыхэм сыщыгъуэзэну сыщIыхуэмейр. Си Библием щIыпIэ зыбжанэм къыщытригъэзэжу жеIэ: «Зиусхьэным апхуэдэу жеIэ: Iэгуаплъэхэм, къэхъунухэр жызыIэхэм хэт зыхуигъазэми, ар си лъэпкъым хэхун хуейщ». АтIэ Тхьэм и цIыхухэм сахэтыным си дежкIэ пхуэмыIуэтэну мыхьэнэшхуэ щиIэкIэ, сэ, дауи, апхуэдэ Iуэхум сыдихьэхыным зыщызохъумэ. Фэри сыныволъэIу, фи псэр къевгъэлын папщIэ, лъэныкъуэ зевгъэз, Хьисэ зыхуэвгъази, Абы и пащхьэ фи гуэныхьхэмкIэ зыщывумысыж икIи къыфхуигъэгъуну фелъэIу!

         Сэ шэч лъэпкъ хэзмылъхьэу си фIэщ мэхъу Тхьэм и Псалъэу Библием итыр. Япэрауэ, абы нэху уещI, пэжу тхащи. ЕтIуанэрауэ, Библием хэт лIыхэм жаIэу щытащ: «Зиусхьэным апхуэдэу жеIэ!» Апхуэдэ щIыкIэкIэ, къэкIуэнур къызэрыпщIэфын гъуэгу пэж щыIэщ: Библием къыджеIэ къэкIуэнур.              Иджырей зауэр и кууупIэм щынэсам щыгъуэ полицэ щэхум цIыхухэм яхэпсэлъыхьыныр щызгъэтын хуейуэ къысхуагъэувауэ щытащ. ЗыщIыпIи сыкIуэ хъунутэкъым Мэссихь и хъыбар цIыхухэм яхуэсIуэтэну. Эссен и закъуэт цIыхухэм я пащхьэ сыщыпсалъэ хъунур. ИкIи пщыхьэщхьэ къэс къалэм и бомбэзыщыхъумапIэхэм ящыщ зым бомбэр къателъалъэу щIэсхэм сахэпсэлъыхьу щытми, итIани зэман лей куэд къысхуэнэрт. Ар сэ къэзгъэсэбэпырт Библием и иужьрей тхылъыр, Апокалипсисыр, гупсэхуу зджын папщIэ. Абы щыгъуэ мыр къызгурыIуащ: Мы тхылъыр хуабжьу актуальнэщ! ИкIи мурад сщIащ абы къыхэсхахэм щыщ гуэрхэмкIэ адрей цIыхухэм садэгуэшэну.       

         ИкIи, мис, фэ фэзгъэлъагъуну сыхуейщ Библием къэкIуэнум теухуауэ гурыIуэгъуэ дыдэу къыджиIэр.

 

 

1. Хьисэ иджыри зэ къэкIуэнущ

 

         Абы Библиер хуабжьу гурыIуэгъуэу топсэлъыхь: чыристанхэр дяпэкIэ къэхъуну зыпэплъэ псоми я купсэщ къэхъугъэ иныр - Хьисэ Мэссихь щIыхь пылъу къызэрыкIуэнур!

         Ар уафэм щыдэкIуеижым щыгъуэ Абы и гъуэгу ирикIуэхэр зэхэту еплъырт Ар нэгъуэщI къэпщыгъуэм зэрыхэкIуадэм. «ИкIи пшэм къищтащ Ар» - апхуэдэу жеIэ. Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэм я пащхьэ Тхьэм и мелыIычитI къихутащ, абдежым мыр жаIэу: 

-              А Хьисэ фэ къыфхэкIыу уафэм дэкIуеижар, Ар уафэм зэрыдэкIуеижу флъэгъуа дыдэм хуэдэу, къигъэзэжынущ!

Хьисэ аргуэру къэкIуэнущ! Зиусхьэн Хьисэ аргуэру щIыхь иIэу Тхьэм и къэпщыгъуэм къикIынурэ ди дунейм къэкIуэнущ зэгуэр! Аращ чыристанхэм гугъапIэу яIэр.

         Сэ фхуэсIуэтэжын хуейщ зэгуэр зыкъомкIэ схуэхамэ мы хъыбарыр къызэрысхуIуихауэ щытар. Илъэс 35-м нэсащ абы лъандэрэ, дин пашэ щIалэу Эссен къалэм и шахтер щIыналъэм  сагъэкIуауэ арат. ИкIи, мис, сэ, илъэс 27-рэ хъу щIалэр, шахтер мин 12-м сакъыхэхутащ. Зы цIыхуми фIэгъэгъэщIэгъуэн-тэкъым сэ жысIэр. А щIыналъэм зы утышхуэ иIэт, казармэ теплъэ зиIэ унэ гъуабжэлъабжэхэр къещIэкIауэ. А утым и зы плIанэпэм унэ цIыкIу дэтти, Библием теухуа сыхьэтхэр щезгъэкIуэкIын пэш абы щызузэдащ. ЦIыхухэр мащIэ-мащIэурэ къекIуалIэ хъуащ абы: шахтер  зыбжанэ, мы «попым» сыту пIэрэ жиIэфынур жаIэу зыфIэгъэщIэгъуэн коммунист гуэрхэр, фызыжь зытIущ, сабий закъуэтIакъуэ, щIалэщIитI-щы. Iуэхур дыхьэшхэным нэсат: гуп цIыкIу зэхуэсам а щIыналъэм ис цIыхухэр къызэщIигъэблат. ИкIэм-икIэжым зэпымыууэ дагъэпIейтей хъуащ. Щхьэгъубжэр къыттракъутащ зэгуэрым. Абы щыгъуэ щхьэгъубжэIупIэ едгъэщIащ. А щхьэгъубжэIупIэм мывэхэр къытрагъэлъэлъащ итIанэ. АдэкIэ ди бжэ щIыхьэпIэм деж консерв зэрылъа дзэхухэмкIэ лъапэху щыджэгуу къаублэри, жытIэр дэ езым зэхэдмыхыжу, Iэуэлъауэ къаIэтащ. Языныкъуэхэм деж ди щхьэгъубжэ лъабжьэм накъырэ епщэу щызэхуэсхэрт. ЩIыбым уэрэду щыжаIэрт: «Тхьэи, пащтыхьи, лIыхъужьи дэ сэбэп къытхуэхъунукъым./ Щхьэхуитыныгъэр дэ езым ди IэкIэ къэтхьыжынщ!» МыдэкIэ, пэш кIуэцIым щIэсхэми, уэрэду жытIэрт: «Тхьэр лъагъуныгъэщ!/ Ар сыту насып!» Мис ар зэмант! Iуэхур хьэлэч дыдэ хъугъащ зэгуэр, ипэжыпIэкIэ жыхьэнмэи жини зэщIыгъуу къыдэбгъэрыкIуэм ещхьу. АдэкIэ къэхъуар зэи сщыгъупщэнукъым: бжэм макъ ищIу зыгуэр къытехуэри, итIанэ хьэлъэу щIым ехуэхащ. Сэ сегупсысащ бомбэ къыткIэщIадзауэ арауэ пIэрэ жысIэу, икIи слъэгъуащ уэрамым дэта цIыхухэр зэрызэбгрыжыр. Дигухэр къэувыIам ещхьу зыдудыгъуащ. Бжэм адэкIи щым хъуат. Сэ сепхъуэу бжэр къыщыIузудым, гъущI жорышхуэ, Хьисэ и сурэт кIэрылъу, псы инам къыхэщу хэлъыр къысIэщIэлъэгъуащ. Ар католикхэм я цIыхухъу монастырым щыслъэгъуат. Иджы ар абы кърахри, ди бжэ лъабжьэм къыщIадзат:

-              Мэ фи Мэссихьыр! ФIейм хрелъ Ар! - жаIэри. 

ЩакIуэгъу пщыхьэщхьэ кIыфIт. Уэшх къешхырт. Жорыр псы шэдым хэлът. КазармэкIэ къэхухьа ут зэшыгъуэм ситт сэ. Си щIыбагъым ди гуп цIыкIур къыдэтт, шынауэ кIэзызхэу. Жорым еIулIа КъегъэлакIуэм и сурэтыр псы шэдым хэлът! Сэ сегупсысащ: Тхьэм тегъэщIапIэ минхэр иIэт, мы дунейр дыкъимыдэным щхьэкIэ. Ауэ Абы ар илэжьыркъым! Абы Езым и Къуэр къегъакIуэ! ИкIи а Тхьэм и Къуэм зэи захамыха елэжь: Абы ди гуэныхьхэр Езым къещтэри жорым зыкIэрырегъэIулIэ. ИтIани цIыхур Абы и пащхьэ лъэгуажьэмыщхьэ зыщригъауэу Тхьэм елъэIуным и пIэкIэ, Абы и сурэтыр шэдым хедзэ. Мис апхуэдэу, Тхьэм къишия и Iэхэм цIыхур йоубжьытх!         ИтIанэ мыри: абыхэм Хьисэ ялъагъу мыхъу къудейуэ щытауэ арамэ, ди иджырей цIыхухэр абы къыщызэтеувыIэркъым. КъазэрыфIэмыIуэхуххэIамкIэ жыпIэ хъунущ абыхэм Абы и жорыр псы шэдым хадзэу! Сэ сыкъэлыбащ. Сегупсысырт: «сыт иджы Тхьэм илэжьынур? Уэгум мафIэлыгъэ къриутIыпщэхмэ, аракъэ!» Ауэ зы мафIи къехакъым уафэм. Уэшхыр къешхырт. Жыжьэу зыгуэрхэр ину щыдыхьэшхырт. Ар сэ къысщыдыхьэшхыу арат. Мыр сигу къэкIыжащ абдеж:  «ЗыкъэвмыгъэпцIэж.  Тхьэм фэ зыкъывигъэгъэпцIэнукъым. ЦIыхум хьэсэм трисэр къытрихыжынущ!»  Абы мызыгъуэгукIэ Езым и зэфIэкIымрэ и щIыхьымрэ игъэпщкIу къудейуэ аращ. Ауэ псори и пIэ щиувэжын махуэ къэхъунущ. ИтIанэ ар Iумпэм зыщIа дуней псом къилъагъунщ   дыкъригъэлъын папщIэ, Ар закъуэу зэрыщытыр, Ар дунейм зэри-Пщыр! ЕтIуанэу Ар къэкIуэнущ щIыхьым хэту. 

А уэлбанэ пщыхьэщхьэм, утыку нэщхъейм си гупымрэ псы шэдым хэлъ жорымрэ я зэхуакум сыдэту сыздитым, сэ япэ дыдэу зэрыхуэфэщэн  хуэдизкIэ сыщыгуфIыкIауэ щытащ Хьисэ етIуанэу  къызэрыкIуэнум и хъыбарым. Пэшым згъэзэжщ, кафедрэм сыIуувэщ, Маттэ и 24-нэ псалъащхьэр къыщIэзгъэщри, сыкъеджащ: «... икIи къалъагъунущ ЦIыху Лъэпкъым и Къуэр уэгум ит пшэхэм яхэту, къару инрэ щIыхь инрэ иIэу къакIуэу». Нобэр къыздэсам срогуфIэ абы!

         ФщIэрэ, си КъегъэлакIуэр, кIуэдыпIэм дыкъизыш, гуэныхьхэр къытхуэзыгъэгъу, насып къытхуэзыхь КъегъэлакIуэр къафIэмыIуэхуу щыслъагъукIэ, сэ сыщогуфIыкI Абы къафIэмыIуэхуныгъэм и тепхъуэр къехуэхыу, щIыхьым хэту щIым къыщехыну махуэ къызэрыхъунум!           Эссен къалэм и щIалэгъуалэ клубым япэу сыщыщIыхьам, сэ къэслъэгъуауэ щытащ блынджабэм фIэдза сурэт закъуэр. ЩIалэщIэ щэ бжыгъэхэр щызэхуэс пэшышхуэм и блыным фIэлът Мэссихь и

къэкIуэжыныгъэр къыщыгъэлъэгъуа сурэт. ИщIагъымкIэ къалэ щыплъагъурт, абы къыщхьэщыт пшэхэм шы пщIэгъуалэ хэсыхьырт. Шым тест Ар, Пащтыхьыр, жорым щыпхыуда и Iэр къиIэтауэ. А сурэтыр щыслъагъум, сяпэкIэ дин пашэу лэжьа Вайгл жесIащ: «Мыбы щыфIэбдза сурэт закъуэр щIалэгъуалэ клубым дежкIэ тIэкIу дыхьэшхэн мыхъуу пIэрэ? Сэ нэгъуэщI зыгуэрт фIэздзэнур!» Ауэ абы Iуэхур зытетыр къызгуригъэIуащ: 

-              Си къуэш лъапIэ Буш! Тхьэмахуэ псор щIалэхэм IуэхущIапIэхэм, еджапIэхэм, фабрикэхэм, шахтэхэм щагъакIуэ. А здэщыIэхэм Хьисэ и гугъу къыщрагъажьэмэ, къащIонакIэр, къащодыхьэшх! Адрейхэм ещхьу гуэныхь ялэжьын ямыдэмэ, ауан къащI, псалъэ Iейхэр кърапэс. Апхуэдэхэм деж ахэр къонэщхъей, я щхьэр къыфIоху. Мыбдеж фIэдза сурэтым абыхэм ягу къигъэкIыжын хуейщ Хьисэ зэры-ТекIуар, абы шэч лъэпкъ зэрыхэмылъыр, дунейм и тепщэу щытынури Хьисэ зэризакъуэр!

Апхуэдэ хъуэпсапIэр зэрыдэхащэр сэ си гъащIэмкIэ мызэ-мытIэу згъэунэхуакIэщ. Ещанэ рейхым щыгъуэ Дармштадт щызэхэта зэIущIэшхуэм Хьисэ сызэрыщытепсэлъыхьам щхьэкIэ саубыдащ. Маршинэм си бгъумкIэ CC комиссар къыщыст. Ди хъуреягъкIэ цIыхуищэ бжыгъэ щызэхэтт. Рулым бгъэдэсым маршинэр иригъэжьэну унафэ хуащIащ. Ауэ моторыр зэщIэнэртэкъым. «Нежьэ!» - кIийрт комиссарыр. Сэ саубыдауэ, абы сыбгъурыст. Ауэ моторыр яхущIэнэртэкъым. Абдеж члисэ дэкIуеипIэм тетхэм зы щIалэщIэ макъ жьгъырукIэ къахэкIиикIащ:

-              Хьисэ текIуащ, ар шэчыншэщ, дунейм и Тепщэ хъунури Мэссихьщ! ЛIэныгъэм ар къызэрыхэкIыжрэ, псори Абы и IэмыщIэ ихуащ икIи жорым щигъэва хьэзабхэм я ужькIэ Ар Адэм и тахътэм дэкIуеижащ. Аращ, Хьисэ текIуащ! 

ЩIалэщIэр гупым хэпшэхъуэжащ, мыдэкIэ маршинэри, икIэмикIэжым, зэщIэнащ. Сэ комиссарым жесIащ: 

-              УцIыху тхьэмыщкIэщ уэ! Дауэ хъуами, текIуар сэращ! 

Абы зызэхуишэри, гъумэтIымащ: 

-              Сэри япэм сыхэтащ чыристан  щIалъэгъуалъэ гупым. 

-              Пэжуи? - згъэщIэгъуащ сэ. - Иджы чыристанхэр зэхэзехуэн пщIыуэ ара-тIэ? Еууей, тхьэмыщкIэ, сыхуейтэкъым сэ уи пIэ ситыну!  

Дэ тутнакъэщым дыкIуэрт, абдеж Хьисэ къызэрыкIуэнум и перспективэ схузэIуха щыхъуат.

         ФщIэрэ, Хьисэ щIыхьым хэту иджы къыщыкIуэкIэ, ар Абы и ещанэ къэкIуэныгъэ хъунущ.

         Япэу Ар къэкIуащ, цIыху хъури, Мэрием къилъхури. Ар Бэтлэхьэм шхалъэм щыдэлъащ. Ар дэ Хъуромэ махуэшхуэу догъэлъапIэ, Iуэхум и пэжыпIэм псори дыщымыгъуазэми: дгъэлъапIэр ди къуэш хъун щхьэкIэ, дэ Тхьэм и бын дыхъун папщIэ, Тхьэм и Къуэр цIыху зэрыхъуарщ.      Хьисэ и етIуанэ къэкIуэныгъэр ди зэманым Тхьэм и Псэ ЛъапIэмкIэ йокIуэкI. Абы жиIащ: 

-              Мис, бжэм сыIуту, сынытоуIуэ. Зыгуэрым си макъыр зэхихрэ бжэр къызэIуихмэ, абы деж сыщIыхьэнурэ сыдэшхэнущ, езыри сэ къыздэшхэнущ. 

ФщIэуэ пIэрэ ХъыбарыфIыр цIыхум щIыхуаIуатэр? Дэ Хьисэ дыдэIэпыкъуну дыхэту аращ, Ар фи деж ныщIыхьэфын папщIэ. Библием етх: 

-              Ар къэзыщтахэм Абы щхьэхуитыныгъэ къаритащ Тхьэм и бын хъунхэу. 

Фэ фи гур зэIуфхыпхъэщ!

         Ещанэуи Ар щIыхьым хэту мы щIым къэкIуэнущ. Флъагъуркъэ псори зэрекIуэкIыпхъэм хуэдэу зэрыхъур. А зэманым ирихьэлIэу дэ тепщэгъуэ лIэужьыгъуэу щыIэу хъуар дгъэунэхуащ: конституцэм тет монархиери, монархие дыдэри, президент демократиери, цIыхубэ демократиери, диктатурэри, адрейхэри. ИтIанэ дэ тлъагъунщ ахэр псори дызыхуейм зэрыхуэмыдэр. Мис итIанэ Хьисэ, си Пащтыхьым, ди фIэщ ищIын хуейщ Езым унафэ зэрыхуэщIынур!

 

2. Хьисэ къэкIуэн и пэ сыт къэхъунур?

 

         Библием итщ дунейпсо тхыдэм лIэщIыгъуэ бжыгъэ хъуауэ зэрызиужьыр, ауэ гу лъыдмытэурэ а дунейпсо тхыдэм кIэ щигъуэтыну лъэхъэнэр къызэрысынур. А лъэхъэнэ зи гугъу сщIынум сэ сызэреджэу къэдгъэсэбэпыну терминыр Библием хэткъым. Сэ абы фIызощ «иужьрей зэман».

         Библием щыжеIэ псоми зыри яхузэфIэмыкIыж зэгуэр зэрыхъунур, абы щыгъуи цIыхухэр проблемэ Iэджэм зэрыхэхуэнур. А иужьрей зэманым цIыхухэр щтэIэщтаблэу, ящIэнур ямыщIэжу къэнэнущ. Езы Хьисэ иужьрей зэманым и нэщэниплIым я цIэ къриIуащ.   

Абы жеIэ иужьрей зэманым политическэ хаос хъуну. Ар мыпхуэдэу къеIуатэ: 

-              Зы лъэпкъыр адрей лъэпкъым, зы пащтыхьыгъуэр адрей пащтыхьыгъуэм пэувынущ. 

Япэхэм зэи къэхъуакъым иджыпсту ещхьу улахуэшхуэ зиIэ дипломатхэм мылъку куэд дыдэ зытекIуадэ конференцу апхудиз ирагъэкIуэкIыу. Япэхэм зэи къэхъуакъым иджы хуэдэу цIыхубэм я мылъкур мыхьэнэ имыIэу Iэщэм трагъэкIуадэу. Атом Iэщэм трагъэкIуадэ мылъкумкIэ къалэшхуэхэр пхуэухуэнут, унэншэ псори унэ щIэбгъэтIысхьэфынут. Ауэ абы и пIэкIэ жаIэ: дэ IэщэкIэ зызэщIэдузэдэн хуейщ. Я нэхъ къэрал цIыкIуми атом бомбэ иIэн хуейщ! Ауэ, нэгъуэщI зы лъэныкъуэкIи, иджы хуэдэу зэи лъэпкъхэр мамырыгъэм хуэпэбгъакъым! Дэ мамырыгъэ дыхуейщ. Зы цIыхуи зауэ щIэхъуэпсыркъым. Ауэ итIани псоми гужьеяуэ зызэщIаузадэ. Мис аращ иужьрей зэманым и политическэ хаосым и теплъэр. ЕтIуанэ нэщэнэу Хьисэ зи цIэ къриIуэр экономикэ и лъэныкъуэкIэ зэфIэгъэкIыншагъэрщ. Хьисэ жеIэ: 

-              Гъаблэ, куэду зэтелIэныгъэ къэхъунущ. 

ЦIыхуу хъуам я ныбэ изу яшхын гъавэ къытокI щIым. Иджы хуэдэу экономист еджагъэшхуэ куэд игъащIэм щыIакъым. Иджы хуэдэу экономикэр куэду зэхэту щытакъым игъащIэм. Ауэ, апхуэдэу щыт пэтми, ООН-м хъыбар къызэритымкIэ, цIыхухэм я ныкъуэр я ныбэ изу шхэркъым. АтIэ апхуэдизу лъагэу зи цивилизацэм зиIэта цIыху зэхэтым цIыхуу хъуар ярикъуу хуэмыгъашхэу ара? Ауэ, зэрынэрылъагъущи, ар дэ тхузэфIэкIыркъым.

Экологическэ зэфIэкIыншагъэм хохъуэ!

         Иужьрей зэманым и ещанэ нэщэнэу Хьисэ зи гугъу ищIыр дин хаосырщ, а лъэныкъуэмкIэ цIыхухэм и пащхьэ проблемэ бжыгъэншэхэр къызэриувэрщ. Хьисэ ар мыпхуэдэущ къызэриIуатэр: «КъывжаIэнущ фэ:

Мэссихь мис е мес».

                          Иджыблагъэ зы щIалэ къызэупщIащ: 

-              Дара сэ си фIэщ сщIынур? ЩыIэщ католикхэр, реформистхэр, лютеранхэр, униатхэр, методистхэр, баптистхэр, къегъэлыныгъэм и дзэр, иеговистхэр, ислъамыр, будизмэр, нэгъуэщI Iэджи. Дара си фIэщ сщIынур? 

Сэ сыдыхьэшхри, жысIащ: 

-              Уэ, щIалэщIэ, умыгужьей, Библием зэрыжиIэмкIэ, дяпэкIэ нэхъеиж хъунущ.

         Ахэр иужьрей зэманым и нэщэнэщ. ШейтIаным Тхьэм и Псалъэм иримыгъуэзэф цIыхухэр укIытэгъуэ ирегъахуэ. Тхьэми ар хуит ещI. «Мэссихь мис, Мэссихь мес». Диныр щызэхэзэрыхьам деж узижэгъуэнщ. Сэ сыкъоуIэбжь къалэшхуэхэм дэс цIыхухэр зэ зы дин Iуэху гъэщIэгъуэнымкIэ, зэ нэгъуэщI дин Iуэху гъэшIэгъуэнымкIэ задзу щыслъагъукIэ. ИкIи, псалъэм къыдэкIуэу жысIэнщи, зы евангелист гуэрми фэ фыкъригъэлыфынукъым. Фэ езыр КъегъэлакIуэм деж фымыкIуэмэ, зыри зэи къывдэIэпыкъунукъым!       Иужьрей зэманым еплIанэ нэщэни иIэщ: Израилым и лъэпкъ дунейм текъухьар аргуэру Палестинэм щызэхуэсыжын хуейщ. СэркIэ иужьрей зэманым и нэщэнэ нэхъ узыгъэпIейтейуэ щытыр Израил къэралыгъуэ зэрыщыIэр аращ. Языныкъуэхэм ар зэрыщыIэр иджыри ди лъэхъэнэм и нэщэнэу къалъытэркъым, ауэ сэ иджыблагъэ Швейцарие гъунапкъэм деж щыIэ хьэкъулахь унэм сыкъыщыувыIэн хуей хъуауэ си гупэм израиль къэрал дамыгъэ тету машинэ къиту щыслъэгъуам, схулъэмыкIыу сегупсысащ: Библием дыкъызэригъэгугъахэр зэщIа мэхъу. Абы и щыхьэту къоув уеблэмэ машинэ номер нэгъунэ!

         Си адэм жиIэжу щытащ 1899 гъэм журт къэралыгъуэ Мадагаскарым къыщызэрагъэпэщыну мурат яIауэ зэрыщытар. Ауэ журтхэм жаIаращ: 

-              Хьэуэ,Тхьэм дэ дыкъызэригъэгугъар зыщ: ди адэжьхэм я лъахэрщ! 

Дуней псор нэгъуэщIу егупсысырт: 

-              Хьэуэ, ар игъащIэкIэ къэмыхъунщ! 

ИтIани нобэ Израил къэралыгъуэр щыIэ хъуакIэщ.

         Аращи, иужьрей зэманым и нэщэнэу щытщ, прогресс щыIэ хъуами, цIыхухэр кIуэ пэтми нэхъ зэфIэкIыншэ зэрыхъур икIи ахэр проблемэ къапэщытхэм зэрапэмылъэщыр. ЦIыхухэм я къарууншагъэр къыщIэщащ. Библием илъэс бжыгъэ гуэр пыухыкIауэ къимыгъэлъагъуэ щхьэкIэ, димыгъэбэлэрыгъыну хэтщ: «Фымыжей,  фысакъ!» Паул Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэм  тепсэлъыхьурэ мыпхуэдэу жеIэ: «Дэ жейхэм дащыщкъым, дэ  махуэм дрибынщ, дыжеинукъым икIи Тхьэм делъэIунущ».

         Ауэ цIыхухэм я зэфIэгъэкIыншагъэм и зэманыр и нэм щынэсым деж, Хьисэ и къэкIуэжыныгъэм и пэ къихуэу антихрист и зэманыр къэунэхунущ. А зэман пычыгъуэм кIэух фIэсщынт сэ. Иужьрей зэманым и зэфIэгъэкIыншагъэм ижь иджыпстуи къытщIеху. А зэфIэгъэкIыншагъэр тепщэ лъэщ хуэныкъуэщ! Дуней псор иджыпстуи хущIокъу апхуэдэ зэраIэным. ЗэфIэгъэкIыншагъэр инэм нэсмэ, тепщэ лъэщ щэджащэ къэкIуэнур езыр дунейм и КъегъэлакIуэкIэ зэджэжынущ. Ауэ ар Мэссихькъым, антихристщ.

         Библием зэритымкIэ, цIыхубэм диктатор къахэтэджыкIынурэ дунейр зэрыщыту и унафэ щIигъэувэнущ. Дэ абы антихристкIэ доджэ. Дуней псор абы и IэмыщIэ щихуэн зэман къэхъунущ. Тхыдэм а и пычыгъуэм и нэщэнэу щытщ цIыхум и ерыщагъыр. Ар дунейм езым политикэрэ экономическэ программэхэмрэкIэ зыкъригъэлыну щыхэт иужьрей щIэкъуныгъэ хъунущ. Библиер удихьэхыу тотхыхь иужьрей диктатурэ щэджащэм. Абы ар сурэтхэмкIэ къегъэлъагъуэ. Ар зэхэпщIыкIын папщIэ, Тхьэм и Псэ ЛъапIэр дигъэнэхуну хуит тщIыпхъэщ. Сэ ныфхуэсIуэтэнщ Библием антихристым, иужьрей тираным, теухуауэ жиIэр. Иуан бегъымбарым жеIэ: 

- Хы Iуфэм сыIуту, хым хьэщхьэвылъэ гуэр къыхэкIыу слъэгъуащ. Щхьибл пытт, бжьакъуипщIи тетт. И бжьакъуэхэм тажипщI фIэлът. И щхьэхэми Тхьэм зэрыхущIэджэ цIэхэр телът.

 Дауэ къыбгурыIуэ хъуну а  сурэт уардэр? 

Хыр - ар цIыхубэращ. Хыр зылъэгъуар щыгъуазэщ ар зэрыпIейтейм, зэи ар щым дыдэ зэрымыхъум. ЦIыхухэри аращ. Ахэри зэи я пIэ изагъэркъым. Зэпымыууэ мэпIейтей ахэр. ЦIыхухэм я кууупIэм къыхэкIынущ дунейм и иужьрей КъегъэлакIуэ хъунур. Иужьрей илъэсипщIхэм я политическэ лэжьакIуэ ин псоми къегъэлакIуэ къалэн я пщэ далъхьэжауэ щытащ. Ахэр псори цIыхубэм къахэкIащ: Корсикэ хытIыгум щыщ Наполеони, дунейпсо зауэм и зауэлI къызэрыгуэкI Адольф Гитлери. Ахэр псори антихрист и пэкъежьэщ. Я нэхъыкIэм къыхэкIащ ахэр. ИтIани цIыхубэм загъэщIагъуэу, мэкIий: «Ар дэ къытхэкIащ!» - жаIэри. Сэ си КъегъэлакIуэр, Хьисэ Мэссихь, цIыхубэракъым къызыхэкIар, Тхьэм и дунейращ, Ар Тхьэ псэум и Къуэщ!           Антихристым хьэщхьэвылъэкIэ йоджэ. Сыт абы къикIыр? ЦIыхум теухуауэ Библием жиIэращ: «Тхьэм цIыхур Езым ещхьу къигъэщIащ». Тхьэм нэхъ гъунэгъу сыхуэхъуху, нэхъ цIыхуи сохъу. Тхьэм нэхъ къыпыIукIуэтыху, ар нэхъ Iуплъэгъуей мэхъу. Чыристаныгъэм и бий кIэуфIыцI Нитше жиIауэ щытащ: «ЦIыху нэхъ бжьыфIэ дыдэр щхьэцыгъуэ хьилэшырщ». Абы къыгурыIуат ар. Антихристыр Тхьэр жыжьэрэ-гъунэгъуу зымыдэ цIыхуу щытынущ, абы къыхэкIкIэ абы хьэщхьэвылъэ гущIэгъуншэ фIащащ.           Хьэщхьэвылъэм щхьэ куэд фIэтщ. Абы лIо къикIынкIэ хъунур? Абы къокI ар мыделэу! Абы «аслъэным и жьэр и жьэщ». Абы къокI абы дуней псор пропагандэкIэ зэщIищтэну. Абы ещхь гуэр щыIакIэщ, дрихьэлIакIэщ. Си нэгу щIэтщ, антихрист къэкIуа нэужь, псори пропагандэ купщIэншэм

зэрыщIигъэнэнур! ИкIи къехъулIэнущ абы и мурадыр, ар КъегъэлакIуэ нэсыр, Хьисэ Мэссихь, хэмыту дунейр къегъэлынымкIэ цIыхум и иужьрей хущIэкъуныгъэу щытынущ. Ар цIыхур и гуэныхьхэм яхущIемыгъуэжу щIэрыщIэу къамылъхужу къелыным и иужьрей  хущIэкъуныгъэщ. Iуэхугъуэу щыIэр зэщIа  хъунущ.

         Политическэ проблемэхэри гъэзэщIа хъунущ, сыту жыпIэмэ антихрист дуней псор зы къэралыгъуэу зэхигъэхьэнущ. Экономическэ проблемэхэри гъэзэщIа хъунущ. Дэтхэнэми ишхын къызэрыратыну тхылъ цIыкIу къыIэщIалъхьэнущ. Дин проблемэхэри гъэзэщIа хъунущ. «Сэ дунейм срикъегъэлакIуэщ, - жиIэнущ  антихрист, - сэ щхьэщэ къысхуэфщI!»    ЩIагъуэкъым ди зэманыр щIихьауэ езым и кIэухым зэрыхуэжэм укIэлъыплъыну.

         Дуней псор антихрист IэщIэлъынущ абы щыгъуэ, ауэ чыристанхэм жаIэнущ: «Дэ уэ щхьэщэ пхуэтщIынукъым!» Дэтхэнэми и натIэм дамыгъэ тетхауэ щытын хуей хъунущ. Ауэ чыристанхэм жаIэнущ: «Хьэуэ! Дэ зы КъегъэлакIуэщ диIэр, Хьисэщ ар!» Абы щыгъуэ ахэр зэхэзехуэн ящIэу хуежьэнущ. Библием итщ: «А дамыгъэр темыдзамэ, зыми зыри ищэну икIи къищэхуну хуиту щытакъым». Илъэси 150-рэ и пэкIэ Библием итхэр зэхэзыху Ауберлен итхыгъащ: «МызыгъуэгукIэ абы къикIыр гурыIуэгъуащэкъым, ауэ ар щызэхэкIын, наIуэ щыхъун зэмани къэсынщ». Дэ ди дежкIэ ар гурыIуэгъуэщ. Дэ доцIыху апхуэдэ къэралыгъуэхэр. ЦIыхур зы щIыпIэ гуэрхэм щыпсэуну хуиткъым, щIакхъуэ къызэрырат тхылъым хуэдэ иIэкъым, лэжьакIуэ тхылъ иIэкъым щыжаIэм деж, абы къикIыр дэркIэ гурыIуэгъуэщ. Сыт хуейми и фIэщ ирырещI абы, ауэ хэкурэ хуитыныгъэрэ абы иIэкъым. Ди дежи къыщохъу апхуэдэ.

         Зи гугъу сщIым хуэдэ гуэрхэм ятеухуа сыщеджэкIэ, си щхьэм ар дэуеяуэ сегупсысырт: Библиер жьы хъуауэ къэзылъытэ цIыхухэр щыIэщ. Ауэ жьы хъуар Библиер аракъым, ди IуэхуеплъыкIэрщ. Библием и гугъу пщIымэ, ар къэкIуэнум и гъуэгугъэлъагъуэщ.

         Антихрист сыти къыпхуидэнкIэ хъунущ, КъегъэлакIуэ нэсыр, Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь, къэплъытэным къинэмыщIа. ИкIи а щхьэусыгъуэмкIэ иджыри зэ чыристанхэр хуабжьу къызэрахъуэкIынущ. 

                          Си бынхэм абы зэгуэр сахутепсэлъыхьырти, сипхъу цIыкIур къэгъащ.

Сэ сеупщIащ абы: 

-  УщIэгъыр сыт, си хъыдэбз.

                         Зэщыджэурэ, абы жэуап къызитащ: 

-  Абы дэтхэнэ махуэми къыщIидзэнкIэ хъунущ.

-  Пэжщ, аращ зэрыщытыр», - жысIащ сэ. - Си КъегъэлакIуэм хуэпэжу сыкъэмынэфмэ-щэ?» - къыпищэрт абы гъынанэурэ. 

Абы и жэуапу естаращ: 

-  Ар къэхъуамэ, узижэгъуэнт. Ауэ уэ узыхуейр зыщ: иджыпсту щегъэжьауэ быдэу Абы и лъэныкъуэу ущытынырщ. 

А жыхуэсIэр уеблэмэ пщэдей къэхъунри хэлъщ. ИтIанэ дэ Iэмал дгъуэтыжынукъым Хьисэ къэдгъуэтынымкIэ. Абы щыгъуэ тхьэкъулыкъу щыIэжынукъым. Члисэ тхьэгъушу хъуар ягъэткIужынурэ антихрист и фэеплъу ягъэжыжынущ. Члисэхэр музей ящIыжынурэ антихрист и щIалэгъуэм траха сурэтхэр щагъэлъэгъуэнущ. ЦIыхухэр зыгъэудэIун хуэлIэнущ. Ауэ абы щыгъуэ гъэудэIуакIуэ щыIэжынукъым, сыту жыпIэмэ абыхэм Iумпэм ящIащ ГъэудэIуакIуэ закъуэр - Хьисэ. Сэ сыкъеджащ Иеремие бегъымбарым мы и псалъэхэм: «Сэ Iумпэм сызэрыфщIам къыхэкIкIэ, жеIэ Зиусхьэным, ГъэудэIуакIуэ фиIэнукъым». Апхуэдэу гъэудэIуакIуэншэу къэна цIыхум адрей цIыхум фIэкIа гугъапIэ къыхуэнэжыркъым. Сэ солъытэ, уеблэмэ лIэн хуей хъуми, чыристанхэр цIыху насыпыфIэу. А зэман Iей дыдэми абыхэм яIэщ ГъэудэIуакIуэ!

         Сэ сагъэпIейтеящ Хьисэ и псалъэхэм: «Дунейм къыщыхъунум пэплъэурэ, шынагъуэм зэщIищтауэ цIыхухэр зэтемэхынущ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ уафэм щыIэ къарухэр къызэщIэхъеенущ».  Апокалипсисым итщ, антихрист дунейр гъуаплъэ бжьамийхэм я макъамэрэ пыпхэмкIэ щIигъэнэну. Сэ сегупсысащ: дауэ ар къыбгурыIуэн зэрыхуейр? Зы лъэныкъуэкIэ шынагъуэмрэ пэплъэныгъэмрэ я гугъу ещI, нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ ехъулIэныгъэшхухэм топсэлъыхь. Ауэ, 1933 гъэм щыщIэдзауэ, сэ сощIэ дунейр хъуэхъу ехьэжьахэм, гъуаплъэ бжьамийхэм къарыкI макъамэхэм, бэракъхэм щIагъэнами, а зэман дыдэм дунейм къытепсыхэну насыпыншагъэм щышынэу пэплъэнкIэ зэрыхъунур.

         Ауэ антихрист и щIыхьым и лъагапIэм щынысам деж, Хьисэ текIуа къыфIэщIыжу и текIуэныгъэр щигъэлъапIэм деж, Тхьэр Iуэхум къыхэIэбэнущ: Хьисэ щIыхьышхуэ иIэу къэкIуэжынущ! Антихрист и гугъу зыми ищIыжынукъым. Хьисэ и жьэм къыжьэдиху жьым ар щIы щхьэфэм трипхъэнкIыкIынущ!

         Зэманыр нэхъ зэхэуфа хъуху, цIыхум и зэфIэгъэкIыншагъэ Iеймрэ антихрист къэралыгъуэмрэ нэхъ нэIурыт къэхъуху, Библием еджэ цIыхухэм я щхьэр нэхъ къаIэтурэ доплъей. Ахэр поплъэ Хьисэ къыщехынум!

          

3. Хьисэ къэкIуа нэужь, къэхъунур сыт?

 

         Библием нэгъуэщI къэхъугъэшхуэ зыбжани итщI. Япэрауэ, Хьисэ мы щIым илъэс минкIэ зэрыщыпащтыхьынур. Абы къикIыр Хьисэ зэман кIыхькIэ тепщэгъуэр зэрыIэщIэлъынурщ. Къэхъугъэхэр зэрызэкIэлъыкIуэр мыпхуэдэущ: и пэм деж цIыхухэм я зэфIэгъэкIыншагъэ нэсыр сэтей къэхъунущ, итIанэ цIыхум и ерыщагъкIэ дунейр къегъэлыным и иужьрей хущIэкъуныгъэр къыкIэлъыкIуэнущ; си Пащтыхьыр адэкIэ тепщэ хъунущ. Абы ещIэ унафэ щIыкIэ! Хьисэ и унафэкIэ псэу унагъуэхэм фахыхьэу фыкIэлъыплъыну чэнджэщ фызот. ЩыIэщ иджыпстуи Хьисэ щытепщэ унагъуэхэр. Апхуэдэ унагъуэ фызэрыхыхьэу, фэ зыхэфщIэнщ ахэр нэгъуэщI зыгуэру зэрыпсэур.

         ЗэрышагъащIэ зэлIзэфыз си цIыхугъэу щытащ. ЛIыр си деж зэгуэр къакIуэри жиIаращ: 

-              Сэ Тхьэр къыстекIуауэ собжыж. Иджыри къэс сэ Тхьэр сымыдэурэ сыкъекIуэкIащ, Абы и бийуэ сыпсалъэу щытащ. Ауэ адэкIэ апхуэдэу сыпсэужыфынукъым! 

КъызэрыщIэкIымкIэ, абы и унагъуэ гъащIэ иублагъащIэр къытекъутат.

ЖиIэжаращ: 

-              Сэ сыхэтащ Арыншэуи унагъуэ насыпыфIэ зэрыбухуэфынур дуней псом езгъэлъагъуну. 

Ауэ, мис, псори лъэлъэжащ. Я щыпэлъху сабий лIэжам и хьэдащхьэм щызэзэуэжащ а зэлIзэфызыр. Иджы абы зиумысыжащ:

-              Тхьэр дэ ди бийщ. Сэ нып хужьыр къызоIэт. 

Сабийм и хьэдэщIэлъхьэ сызыхэтар гукъутэт. Я кум сабийр зыдэлъ бэныр дэтт. И гупэмкIэ и фыз дахэр, ныбжьыщIэр, ауэ зи гур мывэм хуэдэу хъуар, езым и лъэныкъуэхэм яхэту, къыщытт. ДунеитI, гупитI зэрыгъэхъуати, а тIум я кум сабий хьэдэр дэльт. Илъэсым щIигъу дэкIа нэужьщ фызым Зиусхьэн Хьисэ и фIэщ щыхъуар. Сэ зэи сщыгъупщэнкъым IутIыж махуэшхуэ пщэдджыжьу абы къысхуитхауэ щыта тхыгъэр: 

-              Ар сигуми лIахэм къащыхэтэджыкIыжащ! 

Абы и ужькIэ ахэр щIэрыщIэу зэрышэжащ, япэм абыхэм члисэм нэчыхь щрагъэтхауэ щытатэкъым. Абыхэм гъащIэщIэм къыщIадзат. Ахэр зи щхьэ хущытыж цIыху губзыгъэт. Иджы абыхэм я гъащIэр хъуэпсэгъуэт. 

-              Нэхъапэм ди гъащIэр зэфIэмыхьэу къекIуэкIащ, - жиIэрт лIым.

-              Иджы псори щхьэ фIы хъужа-тIэ? - сеупщIащ абы. ГуфIэурэ, мыр жэуапу къызитыжащ: 

-              Мэссихь ди деж иджы щытепщэщи, аращ. Си фызым езым жиIэм псори тетын хуейуэ къыспиубыдыжыркъым, сэри унагъуэм и унафэр зыIэщIэлъынур сэращ, жысIэу сыкъэувыжыркъым. Иджы тIуми: «Хьисэ дапхуэдэу нэхъ къищтэрэ?» - жыдоIэри, псори тэмэм мэхъу! 

Абы щыгъуэ сэ къызгурыIуащ: Хьисэ и унафэкIэ псэу унагъуэхэм апхуэдэ псэукIэ дахэ, хъуэпсэгъуэ щаIэкIэ, къызыщыгъэхъут Абы щIы псор и IэмыщIэ илъ хъуа нэужь, зэрыхъунур! Илъэс минкIэ екIуэкIыну

Тепщэныгъэшхуэр телъыджэу щытынущ. Фи нэгу къыщIэвгъэхьэт Хьисэ

Пащтыхьу! «Махуэ  лъапIэ,/ Хьисэ зи дыгъэ!»

         Хьисэ и пащтыхьыгъуэм и ужькIэ, цIыхубэ насыпыфIэр иджыри зэ гъэунэхупIэ ихуэнущ, я гум ипэжыпIэкIэ зихъуэжа хъуарэ мыхъуарэ зэхэкIа хъун папщIэ. ШейтIаныр щхьэхуит къэхъунурэ, цIыхугум зыкIи зэрызимыхъуэжар, цIыхухэр зэрыщытауэ къызэрынэжар сэтей хъунущ. Библием къыщыгъэлъэгъуащ ар Тхьэм и бий иужьрей къызэрыIэтыныгъэ зэрыхъунур. Абдеж кIэухыр къэсынущ. Дыгъэ системэр къэуэнущ. Уафэмрэ щIылъэмрэ кIуэдынущ. ЖиIэращ: 

-              ИкIи къэслъэгъуащ тахътэ хужь абрагъуэмрэ абы Тесымрэ ... ИкIи къэслъэгъуащ сэ лIахэр, цIыкIуи, иныщи, Тхьэм и пащхьэ иту, тхылъхэри къызэгуэхат ... ИкIи гъащIэ тхылъым ирамытхахэр гуэл мафIэ лыгъэм хадзахэщ.

                          Зэгуэр сэ къызэупщIащ: 

-              Псори кIуэдмэ, тахътэр дэнэ деж здэщытынур?

Абы жэуапу естаращ: 

-              А тахътэм и гупэм сыт хуэдэ щытыкIэм фиту фыкъихутэнуми фегупсыси, нэхъыфIщ абы нэхърэ! 

УхэкIуэдэнкIэ хъунукъэ? Сэ сыхуейт а пэж шынагъуэр Библием имытыну. Ауэ а шынагъуэ Iейр щыIэщ: дэ игъащIэкIэ дыкIуэдынкIэ хъунущ! 

Абы теухуауэ зы хъыбар вжесIэнщ. Шотландием щыIэ пщы унэшхуэ гуэрым зы цIыху гуп щызэхуэсат. Чыристан Iуэхум тепсэлъыхьырт ахэр. Псори жьэгу мафIэ жьэражьэм къетIысэкIат. ИкIи, мис, зи ныбжь хэкIуэта зиусхьэн бжьыфIэм унэгуащэм жреIэ:

-              Уи псалъэхэм къызэрыхэзубыдыкIамкIэ, уэ учыристанщ. Библием итхэр пэж дыдэу уи фIэщ хъурэ? 

-              АтIэ! 

-              ЛIахэр къызэрытэджыжынур уи фIэщ хъуркъэ? 

-              АтIэ! 

-              ИкIи дэ псоми Тхьэм хьэкум къыттрищIыхьыну ара? 

-              АтIэ! 

-              ИкIи лIо, мыкIуэдыжын гъащIэ зыгъуэтыну цIыхухэр зэрыт тхылъым зи цIэ имыт псори жыхьэнмэм кIуэну ара? 

-              Аращ, ар си фIэщ мэхъу! 

Абы щыгъуэ а зиусхьэныр къэтэджри, пэшым кIуэцIрыкIащ. ПлIанэпэм дэтт попугай  къуэлэн зэрыс хъарыр. Абы попугайр хъарым кърихщ, жьэгумкIэ къигъэзэжри бзур мафIэм пэридзэн хуэдэу зишэщIащ. ЦIыхубзыр шынауэ, ар къегъэувыIэ: 

-              ПщIэр сыт? Бзу цIыкIу тхьэмыщкIэ! 

Зиусхьэныр дыхьэшхащ: 

-              Плъагъуркъэ. Уэ мы бзу цIыкIу къудейр уфIэпсэкIуэдщ. А лъагъуныгъэ зиIэ Тхьэуэ жыхуэфIэм цIыху мелуанхэр жыхьэнмэ мафIэм хедзэ.

Лъагъуныгъэм и Тхьэ дыхьэшхэнкъэ ар!

ТэлайкIэ псори щым зэрыгъэхъуащ, итIанэ цIыхубзым жиIащ:

-              Уэ ущоуэ! Тхьэм зыри жыхьэнмэм хидзэркъым. Дэ езым тфIэфIу допIащIэ абы дыкIуэну. Тхьэр хуейщ цIыху псори къелыну!

         Библием уегъэлъагъу  хьэкум шынагъуэм и сурэт уи щхьэфэцыр зыгъэтэджыр. Дэ Тхьэм и хьэкумыр долъагъу: «ИкIи къэслъэгъуащ сэ лIахэр, цIыкIуи, иныщи, Тхьэм и пащхьэ иту».

         ЦIыхур а хьэкумым и хъыбарым йобгъэрыкIуэ: «Ар пэжкъым!» - жи. Си ныбжьэгъу ныбжьыщIэхэм ящыщ зым зэгуэр фабрикэм къыщеупщIащ: 

-              Уэ, пэж дыдэу, уи фIэщ хъурэ хьэкум шынагъуэр? - жаIэри. 

-              НтIэ, мэхъур си фIэщ». Къыщыдыхьэшхыу хуежьащ:

-              КъэдаIуэт мыдэ! Иджыпсту дунейм цIыху дапщэ щыпсэурэ? Япэм дапщэ щыпсэуа? Иджы уи нэгу къыщIэгъэхьэт ахэр зырызу хьэкум пащхьэм иувэу. Егупсысыт апхуэдиз хьэкумым зэману текIуэдэнум! 

Ауэ щIалэщIэм жэуап яритыжащ: 

-              А сыхьэтыр къыщысам деж дэтхэнэми зэману ирикъун иIэнущ. Абы щыгъуэ нэгъуэщI Iуэху зыри уиIэнукъым!

Аращ, Тхьэм абы щыгъуи дэр щхьэкIэ зыхуей зэманым хуэдиз иIэнущ. Тхьэм дэ псоми зырызу хьэкум къызэрыттрищIыхьынумкIэ Абы иужьрейуэ дэ дегъэлъагъу Ар гушыIэ хэмылъу и фIэщу къызэрытхущытыр. Ар дыдэращ къигъэлъагъуэр Абы Езым и Къуэр лIэныгъэм и IэмыщIэ зэрырилъхьари. Фэ фи гъащIэ псор гуэныхьымрэ щхьэпсыншагъэмрэ фыхэмыкIыу фогъакIуэ - Тхьэр къапщтэмэ, Ар а псом ябгэу къыхущытщ.

         КъэкIуэнум и хъыбарыр Библием мыпхуэдэу еух:  «ИкIи къэслъэгъуащ сэ захуагъэр щытепщэ уафэщIэрэ щIыщIэрэ. Библием гъэщIэрэщIауэ къегъэлъагъуэ дунеищIэр, ауэ а псом гупсысэ нэхъыщхьэу мыр къыхегъэщхьэхукI: Тхьэр Езым и гуращэм лъэIэсащ. А дунеищIэм щыIэнущ мыкIуэдыжын гъащIэ зыгъуэтыну цIыхухэм я цIэ зэрыт Тхылъым ихуа псори, икIи ахэр Абы ещхьщ, Тхьэм и Къуэм хуэдэщ. А дунеищIэм щыIэнукъым полици, лъэхъуэщи, хьэкуми, шейтIани, зауи, узи, гуэныхьи, лIэныгъи! Фэ езыр фыкъеджэ  Апокалипсисым и 21-нэ, 22-нэ псалъащхьэхэм. Ар ди акъылым къыхуэмыбыдын сурэт нэхущ, сыту жыпIэмэ дэ тцIыхур гуэныхьым, лIэныгъэм, хьэзабым я дуней къудейрщ! Сэ хуабжьу си нэ къыхуокI Тхьэм а и дунеищIэм сыщыпсэуну! Фэ-щэ?

 

4. Е - е!

 

         Сэ жысIа псори къызэщIэскъуэжыну сыхуейщ. Флъагъуркъэ, Библием а и кIэух сурэтыр адэкIэ нэхъ зджыху, нэхъ си фIэщ хъу зэпытщ икIэмикIэжым цIыху лIэужьыгъуитI фIэкIа зэрыщымыIэнур: къелахэмрэ кIуэдахэмрэ. Мы ди нобэрей дунейм Хьисэ къызыфIэIуэхужыр мащIэщ, къызжефIэмэ, сэ жэуапу фэстыжынур зыщ: кIуэдахэр куэд дыдэ хъункIэ хъунущ! Ди адэжьхэр Тхьэм мыпхуэдэу елъэIуу щытащ: «Уэ пщIымыгъухэр куэд дыдэ хъуми, а мащIэ къэнам ящIыгъуу унэм сегъэкIуэлIэж!» ИкIэм  щыIэнур къелахэмрэ кIуэдахэмрэ я закъуэщ! Иджыри зы жысIапхъэщ.       КIуэдахэм захузогъазэр япэщIыкIэ. Си ныбжьэгъу, Паул Гумбург, зэгуэр жиIэжауэ щытащ: 

- Сэ  къемэтмахуэр пщIыхьэпIэу слъэгъуащ.Сэ зэхэсхащ Хьисэ кIуэдахэм: «ФызбгъэдэкI, нэлат зытехуахэ!» - зэражриIэр. Апхуэдэу итщ Библием. Сэ слъэгъуащ ахэр - я щхьэр къыфIэхуауэ, шынауэ, гузэвэгъуэм зэщIиубыдауэ - зэрыIукIыжыр. ИтIанэ сэ гу лъыстащ ахэр зыр адрейм зэреупщIыжым: «Уэ плъэгъуакъэ?  Дэ дыкъэзмыдар Iэр пхыудат! Ар дэр щхьэкIэ жорым щыпхаудат, ауэ дэ  ар гулъытэншэу къэдгъэнащ. ЦIыху кIуэда дызэрыхъуар къэдлэжьыжащ иджы дэ!» 

         Гу лъыфтэт: Ар фэр щхьэкIи лIащ! Ар фи фIэщ хъукIи мыхъукIи мыхьэнэ иIэкъым. Фэ фщIэн хуейщ Хьисэ фэр щхьэкIи зэрылIар! ФыкIуэ-тIэ Зиусхьэным деж! ГуэныхьщIакIуэу зывбжыжмэ, вжесIэн хуейщ Абы къилъыхъур гуэныхьщIакIуэхэр зэрыарар, сыту жыпIэмэ гуэныхь гуэри зытемылъ щыIэкъым. Зыгуэрым гуэныхьыншэу зилъытэжмэ, ар пцIы гъущэщ. Апхуэдэ цIыхухэр хуабжьу щоуэ, абыхэм уеблэмэ кIуэда щытыкIэм зэритым гу лъатэжыркъым.

         Къелахэм захузогъазэр иджы. Гу лъыфтэт: Библием къэкIуэну дунейр къыщритхэкIкIэ жеIэ ЕрусалимыщIэм и лъабжьэм мывэ лъапIэ абрагъуэ пщыкIутIым -  ХъыбарыфIым и щыхьэтхэм - я цIэр зэрытетхар. Ар сэ хуэгъэфэщауэ мыпхуэдэу си нэгу къыщIызогъэхьэ: мывэхэм тетхащ: «Петр, Иуан, Екъуб». Абыхэм ящыщ зым тетщ: «Маттэ». Фэ фщIэрэ Маттэ къыздикIар? Ар сондэджэр ехьэжьуэ, гъэпцIакIуэу, дыгъуакIуэу щытащ. Зэгуэр ар и Iуэху фIейм хэту, Хьисэ блэкIырти, ар и ужь иувэну къеджащ. 

Абы щыгъуэ Левий, арат абы япэм къызэреджэу щытар, псори хыфIедзэри, Хьисэ и ужь йоувэ. Ар и щыхьэт хъуащ КъегъэлакIуэр абы щхьэкIэ зэрылIам, лIахэм къазэрыхэтэджыкIыжам, цIыхухэм   ямылъагъу адрей дунейм игъэзэжу Тхьэм и Псэ ЛъапIэр къызэригъэкIуам.

         Нэхъ иужькIэ абы и ныбжьэгъухэм къыжраIэ: «Уэ Хьисэ щIыгъуу куэдрэ упсэуащ, плъэгъуауэ хъуар тхыжыт!» ИкIи абы апхуэдэу ищIащ. Мис апхуэдэу Библием хэту къэхъуащ  ХъыбарыфIыр Маттэ къызэриIуэтар - абыкIэ цIыху  мелуанхэм Хьисэ къагъуэтащ. Абы, Хьисэ къригъэла бзаджащIэм, и цIэщIэ «Маттэм» дунеищIэм увыпIэ лъапIэ щеубыд.

 Апхуэдэу иныщэщ Хьисэ Мэссихь и фIыгъэр! Апхуэдэ укъезыгъэл къару хэлъщ абы!

         А  фIыгъэр фэри къыфтепсэну хьэзырщ! ЗыпэщIэвмысэ абы! Iуэхур зытеухуар фэ игъащIэкIэ фыкъызэрелынырщ!

 



ТХЬЭР ДОДЭ, АУЭ ХЬИСЭ СЫТУ ТЩIЫНУ?

                            

         Сэ дин егъэджакIуэ лIыжьыр си гъащIэ псом къалэшхуэм сыщылэжьащ икIи зэпымыууэ мыпхуэдэ упщIэхэмкIэ зыкъысхуагъазэу щытащ:    «Мы къэхъу псори Тхьэм щхьэ къигъэхъурэ?», «Каинрэ Хьавэлрэ зэкъуэшу щытащ. Каиным Хьавэлыр иукIащ. Дэнэ Каин фыз къыздрихар?». Псом хуэмыдэу куэдрэ къызжаIэрт: «Зиусхьэн дин егъэджакIуэ, уэ дапщэщи Хьисэ утопсэлъыхь. АбыкIэ ибогъэлеиIуэ. Сыт хуэдэ дин пIыгъми, зыкъэ?

Нэхъыщхьэр ди щхьэ щыгу Итым, Тхьэ нэрымылъагъум хуэфэщэн хуэдиз пщIэ хуэщIынырщ».

         А жаIэр пэж хуэдэу щытщ, аракъэ? Ардыдэращ си хэкуэгъу щэджащэ Гете жиIари - ари Франкфурт щыщкъэ: «Нэхъыщхьэр гухэлъхэрщ. ЦIэр - ар макъ къудейщ, Iугъуэм хуэдэщ»...

         Нэхъыщхьэр дэ фIэщхъуныгъэ гуэр тхэлъынырщ. Дапхуэдэми Iуэхукъым. Аращ фэ фщыщу процент 50-м зэрабжыр, пэжкъэ? Сигу къокIыж зи ныбжь хэкIуэта цIыхубз гуэрым къызжиIэгъауэ щытар: »Ей, зиусхьэн дин пашэ, сыт уэ увыIэгъуэ уимыIэу Хьисэ ущIытепсэлъыхьыр! Езы Хьисэ мыпхуэдэу жиIакъэ: «Си Адэм и унэм псэупIэр щыкуэдщ. Абы псори щIэхуэнущ!»

                          Си ныбжьэгъухэ, ар щхьэрыуэныгъэшхуэщ!

         Берлин и аэропорт «Темпельгоф» сыщыIащ сэ зэгуэр. Кхъухьлъатэм дитIысхьэн и пэ ди паспортхэр иджыри зэ къапщытэрт. Сяпэ зы лIышхуэ итт - иджыри къэс си нэгу щIэтщ абы и теплъэр: лIы домбейт, и блэгущIэм пледышхуэ щIэлъу. ЕпIэщIэкIыу абы и паспортыр къэпщытакIуэм хуишиящ.

Ауэ къэпщытакIуэм жиIащ:  

Зэ догуэт! Уи паспортыр къызэрыбгъэсэбэп хъуну пIалъэр икIащ! 

Зиусхьэным ар идакъым: 

- Сыт-тIэ абы щхьэкIэ? Нэхъыщхьэращи, паспорт сиIэщ». «Хьэуэ, - къыпидзыжащ абы къэпщытакIуэм, - нэхъыщхьэр уи паспортыр нэгъэсауэ зекIуэу щытынырщ».

         Апхуэдэщ фIэщхъуныгъэм и Iуэхури: нэхъыщхьэр сытми зы фIэщхъуныгъэ гуэр схэлъыныркъым. Дэтхэнэми иIэщ фIэщхъуныгъэ. Куэд щIакъым зыгуэрым мыпхуэдэу къызэрызжиIэрэ: 

         «Сэ си фIэщ мэхъу лы фунтитIым лэпсыфI дыдэ къызэрыщIэвыкIынур». Ари фIэщхъуныгъэщ, мыхьэнэшхуэ имыIэми. Нэхъыщхьэр фэ фIэщхъуныгъэ гуэр фхэлъыныр аракъым, атIэ ар фIэщхъуныгъэ нэсу, я нэхъ зэман гугъуми ар пхэлъмэ, упсэуфу, абы гуэныхь лэжьыным упэщIигъэтыфу,

ар пщIыгъумэ, лIэныгъэ къудейм ущымышынэу ущытынырщ. Фи фIэщхъуныгъэм и пэжагъыр псом нэхърэ нэхъыфIу зыгъэунэхуфынур лIэныгъэрщ!

         ФIэщхъуныгъэ нэсу щыIэр зы закъуэщ икIи тэмэму урипсэуфу, икIи тэмэму лIэныгъэм уриIущIэфу - ар Зиусхьэн Хьисэ МэссихькIэ, Тхьэм и КъуэмкIэ, фIэщхъуныгъэрщ. Езы Хьисэ жиIакъэ: «Си Адэм и унэм псэупIэ и куэдщ». Ауэ Тхьэм и псэупIэм узэрыщIыхьэфынур зы бжэ закъуэщ: «Сэ сыбжэщ. СэркIэ щIыхьэр къелынущ». Апхуэдэ бжэуэ щыIэр Хьисэщ! Сэ сощIэ цIыхухэм ар зэхахыну зэрыхуэмейр. Тхьэм сыхьэт бжыгъэкIэрэ уризэдэуэфынущ. Зым Тхьэр зыгуэру къызыфIегъэщI, адрейм - нэгъуэщIу. Ауэ Хьисэ уризэдауэ щIэхъун Iуэхукъым. Мыр нывжесIэну хуит сыкъэфщI: «Тхьэм и Къуэ ХьисэкIэ уиIэ фIэщхъуныгъэ закъуэрщ укъезыгъэлыфынур, а фIэщхъуныгъэр пхэлъмэщ ущыпсэуфынури ущылIэфынури!»

         Ауэ апхуэдэ фIэщхъуныгъэр цIыхухэм дыхьэшхэн къазэрыщыхъур мы иджыпсту жысIэжынум къегъэлъагъуэ. Илъэс зыбжанэ и пэкIэ Эссен къалэм и уэрам гуэрым срикIуэрт. Гъуэгубгъум цIыхуитI Iутт, я теплъэкIэ шахтеру яхуэбгъэфэщэну. СащыблэкIым, а тIум я зым сэлам къызихащ: 

-              Уи махуэ фIыуэ, зиусхьэн дин пашэ! 

Сэ абы зыхуэзгъэзащ: 

-              Уэрэ сэрэ дызэрыцIыхурэ-тIэ? 

Ар дыхьэшхри, и гъусэм жриIащ: 

-              Мыр дин пашэ Бушщ. ЩIалэ ахъырзэманщ! 

-              ФIыщIэ пхузощI, - жысIащ сэ.  - Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи,  абы хухэтщ» - къыщIигъужащ абы и псалъэм. 

-              Сыт абыкIэ жыпIэну узыхуейр? - сыхуэгубжьащ сэ абы. Абы  къытригъэзэжри жиIащ итIанэ: 

-              Пэж дыдэу, дин пашэ щIалэр хъарзынэт, ауэ абы зы дагъуэ иIэщ: ар зэпымыууэ Хьисэ топсэлъыхь!

-              А-а, - сыкъэгуфIэжащ сэ, - зи гугъу пщIыр арамэ, абы и Iуэхур щхьэхуэщ! Зы илъэсищэ дэкIмэ, уэ хьэдрыхэ укъыщыхутэнущ. АдэкIэ псори зэлъытар уэ Хьисэ пцIыхуу щытарэ щымытарэщ. Мис абы щыгъуэ зэхэкIынущ уэ жыхьэнмэм ущыIэнрэ уафэм удэкIуеижынрэ. КъызжеIэт: пцIыхурэ уэ Хьисэ?

-              Плъагъуркъэ, - дыхьэшхри абы и гъусэм зыхуигъэзащ, - аргуэрыжьу зэсам тетщ!

         Абы къыщыщIэздзэну сыхуейщ иджыпстуи. Библием зы сатыр гуэр итщ, эпиграфу къэсщтарэт жысIэу. Мис ар: «Тхьэм и Къуэр зиIэм гъащIи иIэщ». Фэ Хьисэ Мэссихь и цIэр зэхэфхагъэнщ, ауэ фэ Ар фиIэкъым. «Тхьэм и Къуэр зиIэм, - зэхэфхрэ: зиIэм! - гъащIи иIэщ - дунейкIи ахърэткIи! «Тхьэм и Къуэр зимыIэм гъащIи иIэкъым». Апхуэдэу жызыIэр Тхьэм и Псалъэрщ.

ЦIыхухэм жаIэ: «ЗиIэм иIэщ!»  Библием щыщ сатырми а гупсысэращ хэлъыр. Дауэ хъуми, сэ фи фIэщ сщIыну сыхуейт, фи Iуэхур дахэ хъун папщIэ, Хьисэ фигукIэ къафщтэу фи гъащIэр Абы IэщIэфлъхьэн зэрыхуейр. Арыншамэ, фи гъащIэм мыхьэнэ иIэнукъым.

         Иджы сэ ныфхуэсIуэтэну сыхуейщ Хьисэ псоми хэту, псори Хьисэу щIыщытыр, Хьисэ ди фIэщ хъунри фIэщхъуныгъэ пэж закъуэу щIыщытыр. Е а гупсысэр сэ си щхьэм хуэгъэзэжауэ зэхэзгъэувэмэ, нэхъ тэмэму къыщIэкIынущ: Сэ иджыпсту вжесIэну сыхуейщ сэ Хьисэ сыщIыхуейр, Ар си фIэщ щIэхъур.

 

1. Хьисэ Тхьэр зыхуэдэр къыдгурызыгъауэщ

                   

«Сэ Тхьэр си фIэщ мэхъу! Ауэ Хьисэ сыткIэ дыхуей?» - жиIэрэ зыгуэрым жиIэмэ, сэ абы жэуапу естынщ: «Ар сыт делагъэ! Тхьэр щэхущ! Хьисэншэуи дэ Тхьэм теухуауэ зыри къытхуэщIэнукъым!»

         Пэжщ, цIыхухэм къахуэгупсысынущ езыхэм я Тхьэ, псалъэм папщIэ, зиусхьэн Тхьэ фIэрафIэ дыдэ, махуэм хуэзэу сырэ  барщыбитху нэхъыбэ изымыф дэтхэнэ зы цIыху пэжри Iумпэм къимыщIу зришалIэу. Ауэ ар Тхьэ хъурэ? Тхьэр-щэ? Хьисэншэу дэ Тхьэм теухуауэ зыми дыщыгъуазэкъым.

Хьисэм къыхощ Тхьэр. Хьисэ хэту Тхьэр дэ къытхуехащ.

         Ар сэ мыпхуэдэ щапхъэкIэ къывгурызгъэIуэнщ: къызыфIэвгъэщIыт Iугъуэ Iувым Тхьэр къытщигъэпщкIуу. Ауэ цIыхухэр Арыншэу псэуфынухэкъым. ИкIи, мис, абыхэм Ар къалъыхъуэн щIадзэ. Ахэр зи гугъу тщIа Iугъуэм пхыкIыну хущIокъу. Мис а щIэкъуныгъэрщ динхэм яхэлъыр. Дину хъуар цIыхухэм Тхьэр къалъыхъуныгъэщ. Дин псори зыкIэ зокIуалIэ: ахэр псори пшагъуэм хэзэрыхьауэ хэтщ, абыхэм Тхьэр къагъуэтакъым.      Тхьэр уи акъылым къимытIэсэнщ. Ешайа зи цIэ бегъымбарым ар къыгурыIуэри и гумрэ и псэмрэ къабгъэдэкIыу мыпхуэдэу къыхэкIиикIащ: «Зиусхьэн, дэ Уэ узэхэтщIыкIыфынукъым. Уэгур зэгуэбгъэзу укъытхуехамэ, арат!» ИкIи феплъ къэхъуам: Тхьэм зэхихащ абы и гуо макъыр. Абы пшагъуэ

Iувыр зэгуигъэзри, ди деж къэкIуащ - Хьисэ хэту. Бэтлэхьэм губгъуэм мелыIычхэм зэдежьууэ мыпхуэдэу къыщрашым: «Иджы фи КъегъэлакIуэр къалъхуащ. Тхьэм фIыщIэр ейщ!» - мис абы щыгъуэ Тхьэр дэ къытхуехащ.

Мис Хьисэ иджыри жеIэ: «Сэ сыкъэзылъагъум Адэри елъагъу».

         Хьисэ мыхъуамэ, сэ Тхьэм теухуауэ зыми сыщыгъуэзэнутэкъым. Тхьэм теухуа хъыбар пэж къыщысщIэфыну щыIэр а Зы закъуэращ! АтIэ абы и ужькIэ дауэ жыпIэ хъун: «Сэ Хьисэншэуи сыпсэуфынущ». 

                            Мы Iуэхугъуэм сэ кIэщIу сыкъытеувыIа къудейщ, куэд дэзутIыпщыкIын

хуей мэхъу. Iэджэ вжесIэфынут Хьисэ теухуауэ иджыри, ауэ кIэщI зезгъэщIынщи, «Хьисэ сыткIэ дыхуэныкъуэ?» упщIэм ехьэлIа щапхъэ нэхъыщхьэхэм сакъытеувыIэнщ.

 

2. Хьисэ Тхьэм и лъагъуныгъэ дыкъезыгъэлщ

                   

         Мыр фэ къывгурызгъэIуэн хуейщ. Куэд мыщIауэ, журналист гуэрым интервью сIихырти, мыпхуэдэу къызэупщIащ: 

-              Уэ а уи лекцэхэм укъыщIеджэм и щхьэусыгъуэр сыт? 

-              Абыхэм сыкъыщIеджэр цIыхухэр жыхьэнмэм ихуэнкIэ сошынэри, аращ, - жэуап естыжаш абы. 

Ар щызэхихым, пыдыхьэшхыкIри, абы жиIащ: 

-              Апхуэдэ къэхъункIэ Iэмал иIэкъым! 

-              Зэ умыпIащIэ! – хуэздакъым сэ. - Зы илъэсищэ хуэдэ дэкIмэ, уэ къэпщIэнщ захуэр хэтми - уэра хьэмэрэ Тхьэм и Псалъэра. КъызжеIэт, - сеупщIащ сэ абы, - уэ, зэгуэр мыхъуми, Тхьэм ущышына?

-              Хьэуэ, - къызитыжащ абы жэуап, - Тхьэ гущIэгъу зыхэлъым ущIыщышэнэн щыIэкъым! 

-              АбыкIэ хуабжьу ущоуэ, - къыгурызгъэIуащ сэ абы. - Тхьэм теухуауэ зы мащIэ нэхъ мыхъуми зыгуэр щыгъуазэм къыгурыIуапхъэщ Тхьэ лъапIэм, пэжым и телъхьэм, ди гуэныхьхэм я ХеящIэм нэхърэ нэхъ шынагъуэ зэрыщымыIэр. Уэ уи гугъэ Абы уи гуэныхьхэр къыпхуигъэдахэу? Уэ утопсэлъыхь гущIэгъу зыхэлъ Тхьэм. Библием ар нэгъуэщIущ зэрыжиIэр. Библием нэхъыбэ итщ абы теухуауэ: «Псэ зыпыт Тхьэм и IэмыщIэ уихуэну шынагъуэщ!» 

         Тхьэм фыщышынауэ пIэрэ зэгуэр? Фыщымышынамэ, фэ иджыри зыхэвмыщIэххауэ аращ Тхьэм и лъэкIыныгъэмрэ фэ фи гуэныхьлыгъэмрэ. Тхьэм фIэлIыкI хувиIэ хъумэ, фэ Iэмал имыIэу фызэупщIыжынщ мыпхуэдэу: «Тхьэм и пащхьэм дауэ сыкъыщызэтенэн?» Мы ди зэманым нэхъ делагъэ дыдэу хэлъыр, сэ къызэрыслъытэмкIэ, Тхьэм и губжьым зэрыщымышынэхэрщ. Уеблэмэ акъылкIэщIыгъэм и нэщэнэщ Тхьэ псэумрэ Абы гуэныхьхэм папщIэ иIэ губжьымрэ цIыхубэм къызэрырамыдзэжыр. 

Профессор Карл Гейм зэгуэр къиIуэтэжырт Китайм кIуауэ Пекинг къалэм зэрыдэтар. Ар бгы гуэрым и щыгум дашат. Абы тетт къурмэнщIыпIэ, «Уафэм и къурмэнщIыпIэкIэ» еджэу. Абы къыжраIащ «ЗэкIужыныгъэм и жэщым» а Iуащхьэм цIыху минищэхэр уэздыгъэ щхъуэкIэплъыкIэ цIыкIухэр  яIыгъыу, зэрыдэкIыр. Императорри (абы щыгъуэ Китайм императорхэр щытепщэт) мыбы къыдокIуейри и IэмыщIэ илъ цIыхухэм я зэкIужыныгъэм щхьэкIэ къурмэн ещI. Абы тепсэлъыхьы-журэ, профессор Гейм жиIащ: «Ахэр мажусий пэтрэ, Тхьэм и губжьми цIыхур Тхьэм зэрекIужыпхъэми зыгуэр хащIыкI».

         ЩIэныгъэ зыбгъэдэлъ европэ цIыхум и гугъэщ «фIыуэ дыкъэзылъагъу Тхьэм» тепсэлъыхь хъуну, цIыхухэм и чэзум члисэм иратыпхъэ ахъшэр иратмэ, абыкIэ Тхьэр насыпыфIэ ящIу! Тхьэм дыщышынэныр дывгъэублэж, маржэ! Дэ псоми гуэныхь тщIащ! Уэ умыщIауи? Апхуэдэ къэхъункIэ Iэмал иIэкъым!

         Тхьэм дыщышынэфу аргуэру зедгъэсэжмэ, итIанэ дэ дыщIэупщIэнщ мыпхуэдэу: «Тхьэм и губжьым и къелыпIэр сыт? Дэнэ здэщыIэр а къелыпIэр?» Мис абы щыгъуэщ мыр къыщытхуэнэхуэнур: Хьисэ Тхьэм и лъагъуныгъэ дыкъезыгъэлщ! «Тхьэр хуейщ цIыхуу хъуар къелыну». Ауэ Ар мызахуэу щытынкIэ хъунукъым. Абы гуэныхьри игъэгъу хъунукъым. Мис аращ Абы и Къуэр щIитар - дыкъригъэлыну, дызэригъэкIуэжыну. 

                          ФынакIуэт Ерусалим си гъусэу. А къалэм и гупэм зы Iуащхьэ къитщ.

ЦIыху минхэр тыдолъагъуэ абы и щыгум. Абыхэм къахопIиикI жорищ. Сэмэгурабгъу жорым кIэрылъыр дэ дэщхьу гуэныхьщIакIуэщ. Ижьырабгъум кIэрылъри аращ. Ауэ Мор, и кум итыр! Феплъыт абы: пыжь банэ ухуэна зи щхьэм щхьэщылъ ЦIыхум, Тхьэ псэум и Къуэм! «Напэ хужь угъурлы. Уи напэр трахаи!» Сыт Ар абдеж щIыфIэлъыр? А жорыр Тхьэм и къурмэнщIыпIэщ. Езы Хьисэ Тхьэм и Щынэщ. Абы дуней псом я гуэныхьыр тралъхьащ икIи Абы Тхьэм дрегъэкIуж.

         Плъагъуркъэ, зэрыхъуращи, Хьисэ къэвгъуэтыхункIэ фэ Тхьэм и губжьыр къыфщхьэщытщ, абы фэ езым гу лъывмытэжми, уеблэмэ апхуэдэу зэрыщытыр фымыдэми. Хьисэ деж кIуэращ Тхьэм екIужауэ щытыр: «Дунейм къытехуэ тезырыр Абы телът».

         Зы щапхъэ къызэрыгуэкI дыдэ къыфхуэсхьынут, хуит сыкъэфщIымэ. Япэ дунейпсо зауэр щекIуэкIым сэ абы топгъауэу сыхэтащ. Ди топхэм шэпэIудз мэIу яIэт. Зэгуэр дэ япэ дищат лъэсыдзэр тщIымыгъуу. Танкхэм къыдэбгъэрыкIуэу щIадзащ. Шэхэр уэм хуэдэу ди шэпэIудз мэIухэм къатещащэрт. Ауэ а мэIухэр апхуэдизкIэ быдэти, абыхэм дащыкъуэсым деж ди гъащIэр шынагъуэншэт. Мис абдеж сэ мыпхуэдэу сегупсысауэ щытащ: си Iэр мы мэIум къыкъуэсх закъуэмэ, ар шэм гъуанэпщIанэ ищIынущ занщIэу, сэри си лъыр сщIэжурэ сылIэнущ!

         ЖысIэну сызыхуейр къывгурыIуагъэнщ: Хьисэ симыIэмэ, сэ Тхьэм и хеящIэм сыхэкIуэдэнущ. Хьисэ щымыIэмэ, сэ си гум псэхугъуэ иIэнукъым, сэ сыт злэжьами. Хьисэ щымыIэмэ, сэ тыншу сылIэфынукъым, ажалым сыщыщтэнущ. Хьисэ щымыIэмэ, сэ мыухыж хьэзабым сыкъыхэхутэнущ. А мыухыж хьэзабыр зэрыщыIэр фэ фи нэкIэ флъагъунщ! Ауэ сэ Хьисэ и жорым сыкъыкъуэтмэ, си Iуэхур шынагъуэншэщ, а шэтемыгъахуэ мэIум сыщыкъуэтам ещхьу. Сэ сощIэ абы зыгъуэ: Езыращ Тхьэм ДезыгъэкIужыр!

Ар си КъегъэлакIуэщ! Хьисэ Тхьэм и лъагъуныгъэ укъезыгъэлщ!

         Зэхэфхыркъэ: Тхьэр хуейщ цIыхуу щыIэр къелыну. Абы къыхэкIыуи, дыкъригъэлын, дызэригъэкIужын папщIэ, Абы Езым и Къуэр итащ. Фэри фыхэтщ Ар щIитам!

         Тхьэм фызригъэкIужауэ, зыкъевмыгъэлауэ фемытIысэх иджы ! Хьисэ сыт щIыщыIэр?

 

3. ГъащIэм щывиIуэху нэхъ ин дыдэм пэлъэщыну щыIэр Хьисэ и закъущ 

 

         ФщIэуэ пIэрэ гъащIэм щывиIуэху нэхъыщхьэ дыдэр сытми? Нэхъ ныбжь зиIэхэм, шэч хэмылъу, къафIощI Iуэху нэхъыщхьэр я тхьэмщIыгъур, я жьэжьейр е иджыпсту нэхь къыхэузыкI я Iэпкълъэпкъ гуэрыр арауэ. Iуэху бэлыхьщ ахэр! ЩIалэгъуалэм псом япэу я щхьэр здэщыIэр е я «пщащэрщ» е я «щауэрщ». Аращи, дэтхэнэми езым и Iуэху иIэжщ. Ауэ фи фIэщ сыфщI: ди гъащIэм и Iуэху нэхъыщхьэу къытпэщылъыр Тхьэм и пащхьэ къыщытхьа къуаншагъэрщ!

         ИлъэсипщI зыбжанэкIэ сэ дин пашэу щIалэгъуалэм сахэтащ. Сэ  щIалэгъуалэм Тхьэм и пащхьэм щателъ къуаншагъэр зэрезгъэлъа-гъун нэхъ щапхъэ нэIурытхэр къэслъыхъуэрт зэпымыууэ. Абыхэм ящыщ зы иджыпсту къыфхуэсхьынщ. Сэ жысIащ: къызыфIэвгъэщIыт къыддалъхуауэ ди пщэм гъущI пщэхъу илъу. Гуэныхь тщIэху, абы зы нэ къыхохъуэ. Гупсысэ Iей си щхьэм къихьамэ - зы нэ къыщIегъу, си анэм и жагъуэ сщIа - иджыри зы нэ; нэгъуэщI цIыху гуэрхэм мыхъумыщIагъэ яхужысIа - аргуэру зы нэ. Тхьэр щыIэми щымыIэми сымыщIэжу зы махуэ псокIэ Тхьэ семылъэIуарэ - аргуэру зы къыхохъуэ. Зыгуэрым сыхуэмыпэжарэ, зыгуэр къэзгъэпцIа - зы нэ».    Фи нэгу къыщIэвгъэхьэт иджы апхуэдэу хэхъуэурэ кIыхь дыдэ хъуа церпыр ткIэрыщIауэ къетлъэфэкIыу. КъывгурыIуэркъэ, ар ди щIыхуэхэм я церпырщ! А церпыр нэрымылъагъу щхьэкIэ, Тхьэм и пащхьэ щыттелъ гуэныхьыр щыIэщ. ИкIи ар хуабжьу кIыхьщ. Ар, дэнэ дыкIуами, къыздыдолъэфэкI. Сэ куэдрэ сызоупщIыж: сыт цIыхухэр нэсу щIэмынэжэгужэфыр, икIэм нэсу щIэмынасыпыфIэр?  Зыри фыхуэмыныкъуэ пэтрэ, фынасыпыфIэ фэ итIани? Фыщытыфынукъым фэ насыпыфIэу. ФыщIыщымытыфынур фэ, дэнэ фыкIуами, дэнэкIи къуаншагъэм и церпыр къыздыволъэфэкIри аращ! А церпым фэ фыкъыIэщIагъэкIыфынукъым дин пашэми, дин лэжьакIуэми, мелыIычми. Тхьэми къыфпщIэхих хъуркъым ар, захуагъэм зэрителъхьэм къыхэкIыу: «ЦIыхум трисар къытрихыжынщ».        Ауэ Хьисэ и Iуэхур нэгъуэщIщ! А зыращ фи гъащIэм хэлъ нэхъ Iуэхушхуэ дыдэм пэлъэщыфынур. Ар фи гуэныхьхэм папщIэ лIащ. Фи гуэныхьхэм я уасэр и лIэныгъэмкIэ итащ. Абы къыхэкIыу Хьисэ хузэфIэкIынущ ди щIыхухэм я церпыр тпщIэхихыну. А зы закъуэращ ар зылъэкIынур!

         Сэ згъэунэхуащ мы вжесIэр: гуэныхьхэр къыпхуэгъуауэ къыщыпщIэкIэ, щхьэхуит уохъу. Сэ зыфхузогъазэ фэ, зи ныбжь хэкIуэтахэм: фиIэщ Iэмал фылIэу фи гуэныхьхэр къыфхуэгъуну! Е уи гуэныхь псори птелъу хьэдрыхэм  укъыщыхутэну! Ар узижэгъуэнщ!

         Сэ соцIыху я гъащIэ псор мыхэр жаIэурэ езыхьэкIа: «Сэ сыхьэлэлщ. Сэ сызахуэщ». ЛIэуэ щытелъым деж, абыхэм зэуэ къалъагъу гъащIэм и кхъуафэжьейр псы фIыцIафэм тету хьэдрыхэ - Тхьэм и деж зэрыкIуэр. Абыхэм зыри къыздащтэну яхузэфIэкIакъым - я уни, я ахъши, я хъумапIэ тхылъи - я къуаншагъэм и закъуэщ здахьыр. Апхуэдэ щытыкIэм уиту Тхьэм и пащхьэ уихьэн жыхуэпIэр! Ар узижэгъуэнщ! Ауэ апхуэдэущ цIыхухэр зэрылIэр. Фэ жыфIэнкIэ хъунщ: псори апхуэдэущ зэрылIэр! Пэжщ, аращ псоми я лIэкIэр! Ауэ фэ фылIэн хуейкъым апхуэдэу! Хьисэ гуэныхьхэр егъэгъу! ЩхьэхуитщIыжыкIэу щыIэу хъуам нэхърэ нэхъ щхьэхуит щIыжыныгъэшхуэщ Ар.

         Сэ илъэс 18 фIэкIа сымыхъуауэ сыщIалэщIэт, гуэныхьхэр гъэгъуныр зищIысыр къыщысщIам. Церпыр лъэлъащ абдеж. Уэрэд гуэрым хэтщ мыр: «Гуэныхь псори ягъэгъуащ!/ИкIи мы гъащIэм и псалъэр псэ абы хуэныкъуэм ейщ/ Хьисэ и цIэм хьэзыру хэтщ а гъэгъуныгъэр». Сэ сыфхуоупсэ апхуэдэ фэри вгъэунэхуну. Хьисэ деж фыкIуэ! Нобэ фIэмыкIыу. Ар фэ къыфпоплъэ. ЖефIэ Абы: «Зиусхьэн, си гъащIэр зэIыхьащ, дерт Iэджи хэлъщ. Сэ ар дапщэщи сыбзыщIащ, сызыщытхъужу щытащ. Иджы Уи деж псори къызохьэлIэ, иджыпсту сэ си фIэщ сщIыну сыхуейщ. Уэ уи лъым си къуаншагъэр итхьэщIыжауэ». Сыту фIыщэ гуэныхьхэр къыпхуэгъуауэ щытыну!

         17-нэ лIэщIыгъуэм Инджылызым цIыху щыпсэуащ Буньян и цIэу. А Буньяныр илъэс бжыгъэкIэрэ тутнакъым исащ и фIэщхъуныгъэм къыхэкIыу. Апхуэдэ къэхъуу щытащ сыт хуэдэ лIэщIыгъуи. Тхьэм и Псалъэм и ужькIэ цIыху зэхэтыкIэм нэхъ лъэ быдэкIэ щыувауэ щыIэр тутнакъхэрщ. Тутнакъым ису Буньян тхылъ телъыджэ итхащ, и мыхьэнэр ноби мыкIуэдауэ. Абы къыщретхэкI чыристаным и гъащIэр зекIуэ гъэщIэгъуэным, ауэ шынагъуэ куэд зыпыщIам ещхьу. Мыпхуэдэу къыщIедзэ абы:

- ЦIыху гуэр мамырыгъэкIэ зэджэ къалэм дэст. Ар зэуэ пIейтей къэхъури, хуэгъэфэщауэ мыр жиIащ: «Мыбы мытэмэму зыгуэр хэлъщ. Сэ псэхугъуэ згъуэтыркъым. Сэ сынасыпыншэщ. Сэ мыр къэзбгынэн хуейщ». И фызым ечэнджэщащ абыкIэ. Модрейм жэуапу къритащ: «Уэ пIейтей ухъуащ.

Зыбгъэпсэхупхъэщ». Ауэ сыт ищIами, зыри сэбэп къыхуэхъуртэкъым. ПIейтеигъэр пкърыкIыртэкъым абы. Арати, мыр игу къокI зэгуэр: «Сэ зыри сэбэп къыщысхуэмыхъукIэ, мы къалэр къэзбгынэн хуейуэ аращ!» Арати, ар йожажьэ. Гъуэгу здытетым гу лъетэ и бгым хьэлъэ телъу зэрихьым. Ар зытридзыну и ужь йохьэ, ауэ хузэфIэкIыр-къым. КIуэ пэтыху, телъыр нэхъ къытохьэлъэ. Япэм абы гу лъитэу щытакъым. Апхуэдэу щытын хуейуэ къыщыхъурт. Ауэ «мамырыгъэ» къалэм нэхъ пэIэщIэ хъуху, къытелъыр нэхъ хьэлъэ хъу зэпытт. ИкIэм икIэжым и лъакъуэр ерагъыу зэблихыжыф къудей хъуащ. Гугъуехьышхуэ телъу, ар лъэс лъагъуэмкIэ бгым докI. Хьэлъэм къегъэхыщIэ. Гъуэгу зэблэкIыпIэм деж абы и пащхьэм жор къохутэ. Къэмэхыным нэсауэ, ар жор гупэм щоджалэ, абы и IэхэмкIэ зрешэкIри худоплъей. А напIэзыпIэм абы зыхещIэ и хьэлъэр зэрыкIэрыхур икIи ар Iэуэлъауэшхуэ ищIу джабэм зэреджэрэзэхыр.

         Хьисэ Мэссихь и жорым деж цIыхум и нэгу щыщIэкIынкIэ хъунур мыпхуэдэу телъыджэу къетхэкIащ: «Сэ си напIэхэр сIэтри, жорым сыхудэплъейри/ Тхьэм и Щынэр абдеж къысIэщIэлъэгъуащ/ А жорым Езым илъ щигъэжауэ,/ Ар Сэ щхьэкIэ абдеж щылIэрт/. СукIытэурэ зызумысыжын хуей хъуащ,/ телъыджитI срихьэлIащ сэ абы щыгъуэ:/ лъагъуныгъэ абрагъуэм и фIыгъуэмрэ/ си гуэныхьым и хьэлъагъымрэ. Гуэныхьхэр схуэгъуащ - Хьисэ си къуаншагъэм и пщIэр итащ. Си щIыхуэхэм я церпыр спщIэхэха хъуащ. Сэ си хьэлъэр стекIащ. Гуэныхьхэр гъэгъун! - апхуэдэ тыгъэ зыщIыфынур Хьисэ и закъуэщ.

         Хьисэ сыткIэ дыхуей? Иджыри къывгурызгъэIуэн хуейщ Хьисэ си фIэщ щIэхъур.

 

4. Хьисэ Iэхъуэ хьэлэлщ                        

          

Фэ фщыщ дэтхэнэми игъэунэхуакIэкъэ зэгуэр и закъуэпцIийуэ пIийуэ дунейм къытена хуэдэу, уи гъащIэри апхуэдэм деж дапхуэдизу нэщI, купщIэншэ хъуми фщIэркъэ? Абдеж зэуэ зэхыбощIэ зыгуэр узэрыхущыщIэр. Ауэ сыт а узыхущыщIэр? Сэ вжесIэнщ сытми: фэ фызыхущыщIэр КъегъэлакIуэ псэущ!

         НетIэ фхуэсIуэта къудейщ, ди гуэныхьхэр ипшыныжын папщIэ, Хьисэ жорым зэрыкIэрылIыхьар. Мы псалъэхэм гу лъыфтэт: «Ди дунейм и тезырыр Абы телът». Ар къырым къраIущIыкIа кхъэлэгъунэм щIалъхьащ итIанэ.

Кхъэлэгъунэ щIыхьэпIэм абрэмывэ IуагъэукIуриежащ. Абы ищIыIужкIэ Римым щыщ тепщэм, и гур нэхъ зэгъэн щхьэкIэ, а мывэм мыхъур тригъауэри рим зауэлIхэр хъумакIуэу Iуигъэувэжащ. Сэ къызэрысфIэщIымкIэ, абыхэм щIалэ ахъырзэманхэр яхэтт, къэрал Iэджэм - Галлиеми (иджырей

Франциерщ), Германми, Азиеми, Африкэми щызэуахэу. Зауэм и нэпкъыжьэ зытелъ щIалэщIэ защIэт ахэр. Арати, махуэ ещанэм и дыгъэ къыщIэкIыгъуэм ахэр щытт зы IэмкIэ мэIур яIыгъыу, Iэ ижьым бжыр IэщIэлъу, я щхьэм тажыр къыфIэлъу. Рим зауэлIыр хъумакIуэмэ, уигурэ уи щхьэрэ зэтелъу абы ущыгугъ хъунущ. Ауэ абдеж зэуэ нэху къохъу, махуэ фIэкIа умыщIэну. Библием итщ мыпхуэдэу: «Зиусхьэным и мелыIычыр уафэм къехри кхъэлэгъунэм бгъэдыхьащ, мывэшхуэр IуигъэкIуриикIащ». Хьисэ кхъэлэгъунэм къокIыж! Ар апхуэдизкIэ телъыджэти, зауэлIхэр игъэмэхащ. Сыхьэт зыбжанэ дэкIауэ, Хьисэ хъыджэбз тхьэмыщкIэ хуозэ. Библием зэрыжиIэмкIэ, Хьисэ а хъыджэбзым жину блы къыхихуащ. А хъыджэбзыр магъ. Хьисэ абы бгъэдохьэ, ауэ ар къэмэхыркъым, зауэлIхэм ещхьу. Уеблэмэ Зиусхьэн Хьисэ къэхъужар къицIыхуа нэужь, мэгуфIэри мыр жеIэ: «Раввуни!»

Ар мэундэIуж, мыр ещIэри: «Хьисэ, Iэхъуэ хьэлэлыр, псэущ икIи сэ сщIыгъущ!»

         ФщIэрэ, сэ Хьисэ нэгъуэщIкIи сыхуейщ: Абы и Iэр сIыгъыну. ГъащIэм сэ сыхидзащ кIыфIыгъэ щIэншэм. Си фIэщхъуныгъэм щхьэкIэ сэ сисащ нацист лъэхъуэщхэм. Сэ абы къыщысхуихуащ мыпхуэдэу сыщегупсыса зэман: «Иджыри зы лъэбакъуэ счыжмэ, къикIыжыпIэ зимыIэ акъылыншагъэм и пащтыхьыгъуэ кIыфIым сыкъихутэнущ». Мис абы щыгъуэ Мэссихь къэхутащ! ИкIи псори фIы хъужащ! НэгъуэщI щхьэусыгъуэ къысхуэгъуэтыркъым, абы къыхэмыкIамэ.

         А тутнакъэщым жыхьэнмэуэ къысщыхъуа пщыхьэщхьэ гуэр къыщысхуихуащ. Тутнакъэщым машинэхэр къыбгъэдахуащ цIыхухэр концлагерым яшэну - а цIыхухэм зы гугъэ лъэпкъи къахуэнэжатэкъым: абыхэм языныкъуэхэр щIэпхъаджащIэт, адрейхэм зэрыжуртым фIэкIа нэгъуэщI къуаншагъэ лъэпкъ ябгъэдэлътэкъым. Щэбэт пщыхьэщхьэ гуэрым а цIыхухэр гужьеигъуэм зэщIищтащ. Зы зэщIэкъугъэ макъ къаIэтат абыхэми, зэхыумыхауэ уи нэгу къыпхущIэгъэхьэнукъым. Унэр зэрыщыту зэщIэкIиерт, блынхэмрэ бжэхэмрэ теуIуэрт. ХъумакIуэхэр къэгузэвауэ, кIэрахъуэкIэ унащхьэм дэуейрт, адэ-мыдэкIэ къажыхьырт, яхэуэурэ псори Iуву зэхахуэрт. Сэ си камерэм сису согупсыс: «Жыхьэнмэр мыпхуэдэущ зэрыщытынур». Абы щекIуэкIар къызэрысIуэтэжын псалъэ схурикъуркъым. А сызэрыхуа щытыкIэм ситу, си гум къокI мыр: «Хьисэ! Ар мыбы щыIэкъэ!» Сэ пэж дыдэу згъэунэхуа Iуэхущ фхуэсIуэтэжыр. Абы щыгъуэ сэ щэхуу, щэху дыдэу си камерэм къыщытезгъэзэжурэ щыжысIащ: «Хьисэ! Хьисэ! Хьисэ!» ИкIи дакъикъищ дэкIри, псори щым хъужащ. КъывгурыIуэрэ: сэ Абы седжащ. Ар зы цIыхуми зэхихакъым, Абы фIэкIа - жинхэми кIэбгъу защIын хуей хъуащ!

Мис абдеж уэрэд макъ утIыпщакIэ къыхэздзащ, ар къыттхуамыдэ пэтми:

«Хьисэ, Уэ угуфIэгъуэщ, си псэм уфIэфIщ, Уэ узидахэщ. Сыту куэдрэ сыножьа ! Си гур гузавэу щIохъуэпс Уэ игъащIэкIэ пщIыгъуну!» ЯгъэтIысауэ щIэс псоми ар зэхахырт. ХъумакIуэхэм зы псалъэ жаIакъым. Сэ адэкIэ ину жысIэрт: «Борэн ябгэм/ дуней псор игъэсысмэ,/ Хьисэ сэ си дэIэпыкъуэгъущ!» Си ныбжьэгъухэ, абдеж щызыхэсщIащ сэ КъегъэлакIуэ псэу уиIэным и мыхьэнэр.

         Дэ псоми къытхуихуэнущ - абы и гугъу сщIакIэщ - гъуэгу шынагъуэ гуэр - ажалым и псыхъуэм - дрикIуэну. Сэ зэгуэр къызэхъурджэуакIэщ: 

-              Фэ – дин пашэхэм - дапщэщи цIыхухэр ажалымкIэ фогъэшынэ! - жаIэри. 

Сэ абы щыгъуэ жэуап естыжащ: 

-              Сэ абыкIэ зыри щIэзгъэшынэн щыIэкъым, арыншами псори абы дыщошынэ! ДыщылIэм деж сыту фIы Iэхъуэ хьэлэлым и Iэр пIэщIэлъыну! 

Ауэ сэ къызжаIэ (ар икIи пэжщ): 

-              Иджырей цIыхур гъащIэм нэхъ щошынэ ажалым нэхърэ. ГъащIэр хьэлэчщ, ажалым нэхърэ нэхъ Iейщ! 

Си ныбжьэгъухэ, гъащIэми ущиIэ хъунущ Хьисэ!

         Зы хъыбар ныфхуэсIуэтэнщ иджыри - нэхъапэкIи куэдрэ жысIэжауэ. А хъыбарыр фи фIэщ мыхъуным хуэдизщ, ауэ пэж дыдэу къэхъуа Iуэхущ.    Эссен къалэ сэ цIыхугъэ щысхуэхъуащ зы сатуущIэ гуэр, хуабжьу цIыху фIэрафIэ: 

-              Зиусхьэн дин пашэ, сыту гуапэ уэ сабийхэр гъуэгу тэмэм зэрытебгъэувэр. Уи лэжьыгъэм папщIэ мы маркищэр узот.  

-              Уэ езыр а Iуэхум дауэ ухущыт? – жысIаш сэ. 

-              Хьэуэ, хьэуэ, зиусхьэн дин пашэ, сэ си акъыл зэрыхъун хъуащ, абы сыкъытекIыжыфынукъым...  

КъывгурыIуа: езыр хьэлэл гуэрт, ауэ мазэр Сириусым зэрыпэжыжьэм хуэдэу Тхьэм пэжыжьэт. Зэгуэр нэчыхь стхырт. Члисэ нэщIышхуэм щатх нэчыхьыр нэщхъеягъуэ тIэкIу хэлъу йокIуэкI. Щауэмрэ нысащIэмрэ къокIуэ, цIыху зыбгъупщI нэхъыбэ ящIымыгъуу. Мо члисэшхуэм къыщIыхьа нэужь, абыхэм тIэкIу пIейтеяфэ къатоуэ. Зи гугъу фхуэсщIа зиусхьэн сатуущIэ фIэрафIэр щыхьэту аращ! Фрак екIу зыщыгъ,  цилиндрыр зыIэщIэлъ, тхьэмыщкIафэ къызытеуа а цIыхур сэ сигурэ си псэкIэ сфIэгуэныхь хъурт. Абы зипIытI-зихузырт, члисэм зэрызыщищIын хуейр имыщIэу гузавэрти. Гу лъыптэрт абы и гум щыхъэхэм, и щхьэм щызеуэ упщIэхэр нэрылъагъут: »Лъэгуажьэмыщхьэу сыувын? Жор затесщIэн хуейуэ пIэрэ? Дауэ зэрызысщIынур?» Сэ абы тIэкIу сыдэIэпыкъуащ, цилиндрыр къыIэщIэсхри и бгъумкIэ щыт шэнтым теслъхьащ. АдэкIэ уэрэд жаIащ. Абы уэрэдым зыри хищIыкIыртэкъым, е апхуэдафэ зытригъауэрт. Фи нэгу къыщIэвгъэхьэфрэ а зиусхьэныр? Мы дунейм тет цIыху къызэрыгуэкIщ! Ауэ абдеж гъэщIэгъуэн къэхъуащ. НысащIэр сабий тхьэлъэIу махуэхэм дэIэпыкъуэгъу къытхуэхъуу зэрыщытам къыхэкIкIэ, абы и нэчыхьыр щатхым хъыджэбз цIыкIу 30-м нэблагъэ къэкIуауэ уэрэд жаIэрт. Я сабий макъ IэфI цIыкIухэмкIэ абыхэм жаIэ уэрэд къызэрыгуэкI дыдэр фэри фщIэуэ къыщIэкIынщ: «Сэ Мэссихь срищынэ цIыкIущ! (Си гум насыпыр изщ). Си Iэхъуэр сэ къысхуосакъ...»        Сэ къысфIэщIащ а цIыхум зыгуэр къыщыщIауэ - сымаджэ мыхъуауэ пIэрэ? Абы зыгуэру зызэригъэпщхьащ, и Iэхэр и нэкIум IуипIэри зэщIэкIэзызащ. Сэ къысфIэщIащ абы зыгуэр къыщIэIуауэ! Дохутыр къезджэн хуейуэ къыщIэкIынщ. Ауэ абдежым сэ гу лъызотэ: а лIыр магъ, зэщыджэу, къэмыувыIэжыфу. «Си Iэхъуэр сэ къысхуосакъ,/ Ар тщIыгъумэ, гуфIэгъуэу допсэу» - кърашырт уэрэдыр цIыкIухэм.

         «Абы лъагъуныгъэкIэ сешэ/ си цIэмкIи къызоджэ/, Абы и баш лъапIэм сыщIэтмэ, сэ зыри сыхуэныкъуэкъым, дызыхуэныкъуэмкIэ Ар къулейщ…           …ИкIи мис, сатуущIэ къулейр щысщ икIи…магъ. Мис абы щыгъуэ сэ къызгурыIуащ къэхъуар. Абы и акъылым нэсащ мыр: сабийхэм яIэщ сэ симыIэр - Iэхъуэ Хьэлэлыр. Сэ си закъуэпцIийщ, сыцIыху гъуэщащ! 

ЦIыхухъухэ, цIыхубзхэ, а сабийхэм ещхьу Хьисэ Мэссихь и мэлхэм фыщыщу, Iэхъуэ Хьэлэл фиIэу щыжыфIэфым деж, ар фи гъащIэм и кIуэцкIэ нэхъ ехъулIэныгъэшхуэщ. ГъащIэм и нэхъ ехъулIэныгъэ ин дыдэщ ар! ФыхущIэкъу ар жыфIэфыным! Сыт сэ Хьисэ си фIэщ щIэхъур? Ар си Iэхъуэ Хьэлэлщи, си ныбжьэгъу нэхъыфI дыдэщи, си КъегъэлакIуэ псэущи, аращ.  Хьисэ сыткIэ дыхуэныкъуэ? Мыри вжесIэнщ абы ехьэлIауэ:

 

5. Хьисэ гъащIэм и тепщэщ

 

Илъэс зыбжанэ и пэ щIалэгъуалэм сащIыгъуу, Богемие мэзым ди нэгу зыщедгъэужьырт. ЩIалэ цIыкIухэр ежьэжа нэужьи, сэ зы махуэкIэ зысIэжьэн хуей хъуащ, сыту жыпIэмэ сишэжыну машинэ къыскIэлъыкIуэн хуейт, итIанэ сэ а пщыхьэщхьэм сызыщIэсыр пащтыхь гуэрым ейуэ щыта щакIуэ унэт. Иджы мыбы щыпсэу мэзхъумэм и закъуэт. Унэр ныкъуэкъутэт. Электрическэ нэху щыIэтэкъым. Ауэ  мыбы зы пэшышхуэ хэтт, жьэгу иIэрэ абы мафIэр щыжьэражьэу. Фэтыджэн уэздыгъэ схупагъэнащ, нэхулъэфI сыкъекIыну къызэхъуэхъури, си закъуэу сыкъагъэнащ. ЩIыбым борэныр щызеуэрт. Унэм къегъэкIэкIа псейхэм уэшхыр уэру трикIэрт: хъунщIакIуэхэр щызеуэу жыхуаIэ дунейм ещхьт. Седжэну зы тхылъи къыздэсщтатэкъым. Жьэгу дапхъэм телъу зы тхылыжь цIыкIу къэзгъуэтати, фэтыджэн уэздыгъэм и нэхумкIэ абы седжэрт. Зызумысыжынщи, си гъащIэм къриубыдэу абы нэхъ тхылъ шынагъуэ седжатэкъым. Абы хэт дохутыр гуэр хъийм икIауэ, и лъыр  лIэныгъэм къыхуэплъырт. НапэкIуэцI гуэрхэм мыпхуэдэу итт:   

         «Ей, уэ ажалри, цIыхугъэм и бийри! Тхьэмахуэ зэхуаку енкIэ сэ цIыхум и гъащIэм сыщIэбэнащ икIи ар къезгъэлауэ къысфIэщIат, ауэ абдеж уэ укъысщыдыхьэшхыу укъотэдж, уи Iэхэр къошийри - си лэжьыгъэ псори псыхэкIуэдэ мэхъу. Сэ цIыхухэм сащыдэIэпыкъукIэ, абы зыри къызэримыкIынур къызгуроIуэ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ уэ уи Iэ гъур къупщхьэхэр къызыхэпIиикIымкIэ укъэIэбэмэ, зэфIэкIащ.  

Ей ажал епцIыжакIуэ, уэ убий  кIэуфIыцIщ!» Мис апхуэдэу лIэныгъэм лъагъумыхъуныгъэ хузиIэ нэпэкIуэцIхэр куэдт! АдэкIэ нэхъеижт: «Уэ, ажал!  Уэ укIэущ,  уэ ухэIэтыкIа нагъыщэщ!» АдэкIэ мырат итхыр абы: «Ей бетэмал, хэIэтыкIа нагъыщэу ущытами, аратэкъэ!  АрщхьэкIэ сыноплъурэ уэ зэрыупщIэ нагъыщэ уохъу.  Абдеж сызоупщIыж сэри: лIэныгъэр кIэух хьэмэрэ ар иджыри мыкIэухрэ? АдэкIэ щыIэр сыт? ЛIэныгъэ - уэ уупщIэ защIэщ».     

Плъагъурэ ар зэрыхъур! АтIэ сэ вжесIэнщ: лIэныгъэр - ар иджыри кIэухкъым! А упщIэм и жэуапыр зыщIэ Хьисэ жиIащ:  «Ажалым хуэзышэ гъуэгур бгъуэщ, гъащIэм ухуэзышэ гъуэгур бгъузэщ!»  Ауэ мыбдежырщ пхъэидзэ щащIыр! ИкIи сэ согуфIэ мыбдеж дыдэм гъащIэ къыщызэзыт, гъащIэу щыт икIи гъащIэм сыхуэзышэ КъегъэлакIуэ зэрызиIэм, абы къыхэкIыуи Абы сфIэфIу сытопсэлъыхь. ФщIэрэ, Япэ дунейпсо зауэм щыгъуэ нэхъ зэхэуэ гуащIэ дыдэ щекIуэкIа Вердэн къалэм деж тхьэмахуэ бжыгъэкIэ сыщыIащ. ЗэпэщIэт лъэныкъуитым я зэхуакур хьэдэм иуфэбгъуат, щIыр умылъагъужу. Иджыри къыздэсам зыщызгъэгъупщэн слъэкIыркъым а хьэдэхэм я мэр. ИкIи мы псалъэхэр зытет сыныр: «Я лIахэм папщIэ  я псэр ятащ» - слъагъухуху Вердэн деж къыщысщIихьа хьэдэмэр зэуэ къыдревеиж. Зы илъэсищэкIэ дэ псори дунейм дызэрытемытыжынум  сыщегупсыскIэ, сэ зэхызощIэ ажалъым и бэуэныгъэ шынагъуэр. Фэри зыхэфщIэрэ ар?   

ИкIи мис а лIэныгъэм и дунейм Зы хэтщ лIахэм къахэтэджыкIыжауэ!

Абы жеIэ - дауэ феплърэ ! - Сэ сыпсэущ, фэри фыпсэунущ! Фи фIэщ сыфщI! Си деж фыкъакIуэ! Сэ зыкъысхуэвгъазэ! Сысейуэ фыщыт! Сэ гъащIэм фыхэсшэнщ!  Дэгъуэкъэ-тIэ ар? ИкIи дауэ мы ажалым и дунейм КъегъэлакIуэ уимыIэу ущыпсэункIэ хъуну, Ар гъащIэу щыщыткIэ икIи мыкIуэдыжын гъащIэм дыщыхуишэкIэ!                

Профессор Гейм иджыблагъэ къытригъэдза, ныбжыфI зиIэ тхыгъэ гуэр сыкъеджащ. Ар Япэ дунейпсо зауэм щыгъуэ Урысейм щыхэкIуэда чыристан зэулI гуэрым и тхыгъэт. А тхыгъэм мыпхуэдэу итщ: «Ди хъуреягъкIэ щекIуэкIыр хьэлэчщ! Урысхэр я IэщэхэмкIэ къыщытхэуэкIэ, дэ псори гужьеигъуэм дыхэтщ. ЩIыIэр-щэ! Усыр-щэ! Узижэгъуэнщ! Ауэ сэ сышынэркъым. СыхэкIуадэмэ хъарзынэщ. НапIэзыпIэм уафэм сыкъыщыхутэнущ абы щыгъуэ. Абы щыгъуэ борэныр увыIэнурэ, сэ си Зиусхьэныр гъунэгъуу сыбгъэдэту слъагъунущ, абы и щIыхьри нуру къысщхьэщихынущ. Мыбдеж  сыщыхэкIуадэми, содэ сэ». Ар итхри, куэд дэмыкIыу, ар хэкIуэдащ. Мы тхыгъэм сыщеджэм, сэ сегупсысащ:  «Ар сыту фIы - щIалъэщIэр ажалым щIыщымышынэр Хьисэ ецIыхури аращ».

Аращ, Хьисэ гъащIэм и тепщэщ! И гъуэгу ирикIухэми абы гугъэ къарет мыкIуэдыжын гъащIэ яIэнымкIэ!   

Лейпциг ратушэм дин махуэшхуэ щекIуэкIыну къэрал унэфэщIхэмрэ члисэ унафэщIхэмрэ зэIущIат зэгуэр. Къэпсалъэхэм и щхьэр течауэ жаIэIартэкъым, зым адрейм и жагъуэ имыщIын папщIэ. Иужьрей псалъэр къыIихащ Генрих Гизен, а зэманым Германием и ХъыбарыфI комитетым и генеральнэ секретару щытам. Сэ зэи сщыгъупщэнкъым Генрих Гизен къэтэджу абы щыгъуэ жиIауэ щытар: «Фэ, сы зиусхьэнхэ, фыкъыдоупщI: Фысыт цIыху фэ», - жывоIэри. Сэ сыхуейщ ар зы псалъэкIэ вжесIэну: дэ мыпхуэдэу Тхьэм елъэIу дыцIыхущ: «Тхьэ, Адэ, жыIэдаIуэ дыщI, уафэр ди псэупIэ хъун папщIэ». Ар жиIэри, и пIэ итIысхьэжащ. А жэуапым цIыхухэм жаIэнур ямыщIэжу къызэхинат.    

Илъэс щэщI зауэм щыгъуэ Пауль Герхард и усэм мыпхуэдэу щитхыгъащ: «Сыхуейщ сыхуэщIэкъуну/ щIым лъапIэу сыщыпсэуну, / Сигу илъкъым сыкъинэну/ мы щIыпIэ хамэм сэ./ СрокIуэ сэ си гъуэгуу/ уафэм сызышэнум./  Адэм абы щысхуегъэхьэзыр/ сытезыгъэун куэд». Фэри апхуэдэу фи гъащIэ гъуэгур фкIуфыну сыфхуоупсэ.   

Хьисэ сыткIэ дыхуэныкъуэ? ИкIэм-икIэжым, псори зэлъытар Ар фэ къэфщIэныр аращ!

 

 

 

  ГЪАЩIЭР ТХЬЭМ И IЭМЫЩIЭ ИТЛЪХЬЭМЭ, АБЫ СЫТ СЭБЭПУ КЪЫТХУИХЬЫР?

 

         Мыр дин пашэ Буш и иужьрей уазщ, абы ар къыщедщащ Рюген хытIыгум щыIэ Засницэ къалэм, 1966 гъэм июным и 19-м. Абы къикIыжу гъуэгу здытетым, 1966 гъэм июным и 20-м, Зиусхьэным ар Езым и деж ириджэжащ. 

Ди темэм зэреджэр «Ди гъащIэр Тхьэм и IэмыщIэ итлъхьэмэ, абы сыт фейдэуэ къытхуихьыр?» жиIэу аращ. А упщIэр мыпхуэдэу дгъэувми, хъунут: «Чыристану ущытыным сыт къыпыпхынур?» Апостол Паул Ефес дэсхэм хуигъэхьа тхылъым итщ: «Тхьэуэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и Адэрщ щIыхьышхуэр зейр. Мэссихь ди псэм зэрыщыщым щхьэкIэ, уафэм къикIыу, гурэ псэкIэ Тхьэм и нэфI лъэныкъуэ псомкIи къытщыхуащ». А псалъэхэм дахащэу къаIуатэ чыристанхэм ХьисэкIэ яIэ фIыгъуэм и къулеягъэр. Ауэ абы сытепсэлъыхьын, ар дыдэмкIэ темэр зэпкърысхын ипэ, сэ пэублэу зыгуэрхэр къывгурызгъэIуапхъэщ. Япэу сэ жысIэн хуейр мыращ:

 

1. Тхьэр дигу илъмэ, гъащIэр щIагъуэщ!

 

Пэжщ, Тхьэр дигу илъмэ, гъащIэр щIагъуэщ, ар нэкъыфIэщIкъым икIи щхьэгъэпцIэжкъым.

Къалэ иным дин пашэу щылажьэр зэIущIэ гъэщIэгъуэнхэм Iуоуэ.

Иджыблагъэ щIалэ гуэр сыхуэзауэ жесIат: 

-  КъэдаIуэт мыдэ, уэ жыжьэ унэсыфынут, уи гъащIэр Тхьэм IэщIэлъу щытыгъэмэ!

-  Ах, дин пашэ Буш, - къысхуидакъым абы,  - алэрыбгъум зытумыIэтыкI! 

А псалъэхэр зэхэфхауэ пIэрэ? «ЩIы узытетым зытепIэтыкIыу уэгум ухэсыхьыну иужь уимыт. Тхьэ жыхуэпIэр щыIэххэкъым!» Абы жэуапу естаращ: 

-  Уэ зи гугъу пщIыр си дежкIэ иужьрей хъыбарыщIэщ. 

-  Быдэу къэдаIуэт, - жиIащ абы, - япэм цIыхухэр дыкъэзыухъуреихь дунейм и къарухэм пэщIэувэфу щытакъым. Абы къыхэкIыуи, езыхэм къадэIэпыкъуфын къару лъэрызехьэ гуэрхэр къагупсысащ. Языныкъуэхэм абы Алыхь фIащащ, адрейхэм – Тхьэ, ещанэхэм - Иеговэ, еплIанэхэм – Буддэ, етхуанэхэм нэгъуэщI гуэр. Иужьым къызэрищIидзыжамкIэ, а псори нэкъыфIэщIщ, езыр-езыру я фIэщ ящIыжа гуэрщ, уэгур нэщIщ, абы зыри щыIэкъым». 

            Арати, щIалэщIэр лекцэ хъарзынэ къысхуеджащ. Абы жиIэнур жезгъэIэри, сэ сыпэуващ:

-  Ах, фIыуэ слъагъу, уэ Хьисэ пцIыху мыгъуэкъым!» 

-  Хьиси? – щIэупщIащ ар, - ар дин къомыр къэзыгъэщIахэм ящыщ зыкъэ?

-  Хьэуэ, ар щыуагъэщ! – къыгурызгъэIуащ абы. – Ар щыуагъэ Iейщ, фIыуэ слъагъу! Сэ бжесIэнщ, Хьисэ хэт хъунуми. Сэ Хьисэ зэрысцIыхурэ Тхьэ псэу зэрыщыIэр къэсщIащ! Хьисэ нэмыщIамэ, дэ Тхьэм теухуауэ зыми дыщыгъуэзэнутэкъым.

                          АдэкIэ сэ абы къыгурызгъэIуащ Хьисэ зищIысыр.

         Хэт хъуну Хьисэ? Ар щапхъэкIэ къывгурызгъэIуэнщ. Флагъуркъэ, си гъащIэм къриубыдэу куэд си нэгу щIэкIащ. Тутнакъэщым куэдрэ сисын хуей щIэхъуар дыжьын бжэмышххэр къэздыгъуу аратэкъым, си фIэщхъуныгъэ схэлъыр арат. Ещанэ рейхым и зэманым нацистхэм сэ схуэдэ щIалэгъуалэ дин пашэхэр фIыуэ ялъагъуртэкъым, икIи сэ я нэхъ лъэхъуэщ Iейхэм срадзэрт. Зэгуэр сэ сисащ тутнакъэщ шынагъуэ дыдэм. Унэр зэрыщыту бетону гъэжат, блынхэр апхуэдизкIэ пIащIэти, и лъабжьэмкIэ зыгуэр щыпсчамэ е ещанэ къатым зыгуэр нарым къыщехуэхамэ, тыншу зэхэпхырт. Сэ камерэ зэв Iей сыщIэст, гъунэгъу камерэм Гестапэм сэ сэщхьу игъэтIыса гуэр къыщыщIадзам. Ар, хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, хуабжьу гужьеягъэнут. Блын пIащIэм къыпхыIукIыу сэ зэхэсхащ ар жэщым зэрыгъар. Зэхэсхырт нарым здытелъым, зэпыу имыIэу адэкIэ-мыдэкIэ зэрызигъазэр. И зэщыджэ макъыр щIэх-щIэхыурэ къэIурт. ЦIыхухъур щыгъым деж шынагъуэщ. МахуэкIэ нарым дытелъыну хуит дащIыртэкъым. Сэ гу лъыстащ ар къызэрикIукI-нызэрикIукIым: лъэбакъуитIрэ ныкъуэрэ зы лъэныкъуэмкIэ ичырти, лъэбакъуитIрэ ныкъуэкIэ къигъэзэжырт; хъарым ираубыда хьэкIэхъуэкIэм ещхьу, абы камерэм зыщихущыхьырт. Языныкъуэхэм деж ар зэрыгызыр тхьэкIумэм къиIуэрт. Сэ сыкъапщтэмэ, си камерэр гузэгъэгъуэт.  ФщIэрэ, Хьисэ къэкIуат си камерэм! ИкIи си гъунэгъур зэрыт щытыкIэр щызэхэскIэ, сэ сегупсысырт:

-  Абы деж зыщIэзгъэхуэн хуейщ! Сэ абы сепсэлъэн хуейщ! ИкIэикIэжым сэ сыдин пашэщ.

                          Сэ хъумакIуэм сыкъеджащ. Ар къыIухьа нэужь, жесIащ:

-  КъэдаIуэт, си гъунэгъуу щIэсыр гужьеигъуэ хэхуащ, абы илIыкIынущ ар! Сэ сыдин пашэщ, хуит сыщIи, абы деж сыщIэгъэхьэ! Сэ сепсэлъэн хуейщ абы!

Абы жэуапу къызитаращ:

-  СыкIуэнщи, сыщIэупщIэнщ ар хъунрэ мыхъунрэ.

Сыхьэт хуэдэ дэкIауэ къигъэзэжащ:

-  Хуит уащIыркъым. Ядакъым.

Арати, сэ а цIыхур зэи гъунэгъуу къысхуэлъэгъуакъым, ар си гъунэгъуу щIэса пэтми. СщIэркъым абы сыт хуэдэ теплъэ иIами, жьыми щIэми. Ар зэрыт щытыкIэ узижэгъуэныр зыхэсщIа къудейщ. Фи нэгу

къыфхущIэгъэхьэрэ ар? Блыным сыкIэрыту куэдрэ сегупсысырт: мы блыныр кIуэцIрызуду а цIыхум деж сыщIыхьэфамэ, аратэкъэ! Ауэ къарууэ сиIэр зэхэслъхьами, а блыным сыпэлъэщынутэкъым.

Иджы быдэу фыкъэдаIуэ! Абы щыгъуэ сызэрыта щытыкIэм итщ Тхьэ псэур, уафэмрэ щIылъэмрэ КъэзыгъэщIар. Дэ къэпщыгъуищ хъу дуней нэрылъагъум диубыдащ. Тхьэр ди гъунэгъу дыдэщ. Библием жеIэ: «Лъэныкъуэ псомкIи Уэ сыкъыбоухъуреихь». Тхьэм и Iэр къышиймэ, къытлъэIэсынущ, ауэ дэ ди зэхуакум нэгъуэщI къэпщыгъуэм и блын къыдэтщ. Тхьэм зэхех мы щIым и гукъеуэ псори. Абы зэхех зи гур мывэм хуэдэу хъуахэм я хъуанэр, зи закъуэхэм я гъы макъыр, бэным бгъэдэтхэм я гузэвэгъуэр, мызахуагъэм бэлыхь хигъэтхэм я щатэ макъыр. А псори Тхьэм и гум лъоIэс, а цIыхум и гужьеигъуэр камерэм къикIыу си деж къызэрысу щытам хуэдэу. Фи нэгу къыщIэвгъэхьэт, Тхьэм сэ схузэфIэмыкIар хузэфIэкIащ: Тхьэм ди зэхуаку дэт блыныр кIуэцIриудри ди дуней нэрылъагъум Езым и Къуэ ХьисэкIэ къытехьащ. КъывгурыIуа? Езым и Къуэ къыпкърыкIыу Тхьэр ди деж къехри, мы дуней фIеймрэ гуауэмрэ къыхыхьащ. Хьисэ къызэрысцIыху лъандэрэ сэ сощIэ Тхьэр зэрыпсэур. Мыпхуэдэу жысIэ си хабзэщ сэ: «Хьисэ къызэрыкIуэ лъандэрэ, Тхьэр мыдэныр щытщ щымыгъуэзэныгъэ къудейуэ». 

Иджы Хьисэ сытепсэлъыхьын хуейщ. Сэ си уазхэм сфIэфIыпсэу Хьисэ и гугъу фIэкIа нэгъуэщI щысщIынтэкъым, ауэ абы щыгъуэ дэ а темэ дахащэр и кIэм нэсу щызэпкърытхын пщыхьэщхьэ бжыгъэ дгъуэтынтэкъым. 

Аращи, Хьисэ Бэтлэхьэм къыщалъхуащ. Ар къэхъури, лIыпIэ иуващ. И теплъэкIэ Абы зыкIи дэплъагъуртэкъым Тхьэм къыбгъэдэкI и щIыхьыр. Ауэ итIани цIыхухэр зыIэпишэрт Абы. Абыхэм зыхащIэрт Абы хэту ди деж Тхьэм и лъагъуныгъэмрэ и фIыгъэмрэ къызэрехар. 

Израил цIыхухэм ящыщ зыуэ Хьисэ щыпсэу Ханаан щIыналъэр римыдзэхэм яубыдауэ яIыгът. Капернаум къалэм и гарнизон комменданту щытыр рим дзэ унафэщIт. Рим цIыхухэм тхьэ куэд яIэт, ауэ ипэжыпIэкIэ абыхэм ящыщ зыи я фIэщ хъуртэкъым. Капернаум дэс дзэ унафэщIым и зы IуэхутхьэбзащIэ, езым фIы дыдэу илъагъур, сымаджэ хьэлъэ хъуат, лIэнкъэнэну. Абы къыгурыIуат и IуэхутхьэбзащIэр узым илIыкIынкIэ зэрыхъунур. Абдеж игу къэкIыжащ: «Хьисэ и хъыбар куэд зэхэсхащ. Ар дэIэпыкъуэгъу мыхъуфыну пIэрэ? СыкIуэнти абы и деж». Апхуэдэ щIыкIэкIэ, зыри зи фIэщ мыхъуа мажусийр Хьисэ деж макIуэри, йолъэIу: 

-              Зиусхьэн Хьисэ, си IуэхутхьэбзащIэр сымаджэ хъуащ.

Пхуэмыгъэхъужуну пIэрэ Уэ ар? 

-              Схуэгъэхъужынущ, - жэуап ирет Хьисэ, - накIуэ!

Ауэ дзэ унафэщIым жиIаращ:

-              Уэ уныщIэкIуэн щыIэкъым. Сэ си унафэхэр икIэщIыпIэкIэ ягъэзащIэ. Уэри апхуэдэу зы псалъэ жыпIэмэ, зэфIэкIащ – си IуэхутхьэбзащIэр узыншэ хъужынущ. 

НэгъуэщIу  жыпIэмэ, рим дзэ унафэщI диныншэм къиIуэта гупсысэр мыращ: 

-              Уэ къэхъункIэ мыхъунури къыбогъэхъуф! Уэ у-Тхьэщ!

Хьисэ зыкъегъазэри, жеIэ: 

-              Израилым сэ апхуэдэ фIэщхъуныгъэ щызгъуэтакъым.

Абы къикIыращ: «мы атеистым хэлъ фIэщхъуныгъэм хуэдэ сэ члисэ псоми щыслъэгъуакъым». Флъагъуркъэ, дзэ унафэщI мажусийм къыгурыIуат Хьисэ хэту ди деж Тхьэр къызэрыкIуэр!

Фэ фыщыгъуэзапхъэщ Хьисэ Мэссихь теухуа тхыдэм. СыныволъэIу табущхьэщэщкIэ: ХъыбарыфI зэвгъэпэщ. Фыкъеджэ ХъыбарыфIыр Иуан къызэриIуэтам, итIанэ адрейхэм. Ахэр Хьисэ теухуа хъыбар телъыджэхэщ.Сэ зы журнал гъэщIэрэщIаи срихьэлIакъым ХъыбарыфIым ит тхыдэ дахащэхэм хуэдэ ярыту. 

Хьисэ, Тхьэм и Къуэр, дунейм къыщIэкIуар а IуэхутхьэбзащIэр игъэхъужын, Тхьэр зэрыщыIэр къыдигъэщIэн къудейр аракъым. Ар къэкIуащ, цIыхухэр Тхьэм иригъэкIужын папщIэ. 

Флъагъуркъэ, Тхьэмрэ фэрэ фяку дэтыр нэгъуэщI къэпщыгъуэм и блыным и закъуэкъым. Тхьэмрэ фэрэ фи зэхуакум нэгъуэщI блын гуэрми зыщеIэт: ар ди къуаншагъэм и блынырщ. ПцIы фупсыну зэгуэр къыфхуихуауэ пIэрэ? Къыфхуихуащ, аракъэ? Мис абы щыгъуэ фэ Тхьэмрэ фэрэ фяку зы мывэ дэфлъхьащ. Зы махуэ закъуэ нэхъ мыхъуми тхьэншэу, тхьэлъэIуншэу фыпсэуамэ - иджыри зы мывэ. Мыкъабзагъэ, зинэ, дыгъуэныгъэ, тхьэмахуэ махуэр фымыгъэлъапIэу нэгъуэщI Iуэху жьгъей минхэр, Тхьэм къигъэувхэм ебэкъуэныгъэ псори – ахэр мывэ зырызу блыным  хоувэри къыдращIей. Дэ псори дызэщIыгъуу духуащ цIыхумрэ Тхьэмрэ зэпэIэщIэ зыщI а блыныр. Ауэ Тхьэр Тхьэ лъапIэу щытщ. КъыдгурыIуэрэ, «Тхьэ» псалъэр къыщупсэлъ къудейкIи, ухуей-ухуэмейми, си гуэныхьымрэ си къуаншагъэмрэ я Iуэхур ищIыIу къохъу. А Iуэхум хэкIыпIэ иIэн хуейуэ къоув. Тхьэр ябгэу хущытщ дэтхэнэ гуэныхьми. Сэ си нэIуасэщ мыпхуэдэу зылъытэ цIыхухэр: 

- Сытым хуэдэу Тхьэр щыгуфIыкIын хуей сэ Ар иджыри къэс си фIэщ зэрыхъум! 

Си псэм хуэдэхэ, ар мащIэщ! ШейтIанми и фIэщ мэхъу Тхьэр! Ари жыжьэу атеисткъым. Абы фIы дыдэу ещIэ Тхьэр зэрыпсэур. Ауэ ар Тхьэм екIужакъым! Тхьэм уекIужа щыхъунур Тхьэм пэIэщIэ узыщI гуэныхьымрэ къуаншагъэмрэ я блынхэр дэбуда нэужькIэщ. Мис абы къуаншагъэм и блыныр зэтригъэщэхащ.  Мис абы щхьэкIэщ Абы жорым зыщIыкIэрыригъэIулIар! Абы ищIэрт гуэныхьхэм папщIэ зыгуэрым тезыр зэришэчын хуейр – е Езым, е цIыхум. Зэхэфрэ: е Вильгелм Буш, е Хьисэ. ИкIи, мис, абы щыгъуэ Абы, Тхьэ псэум и Къуэ лажьэншэм, Хьисэ Мэссихь, си тезырыр ишэчащ. Фэ фи тезырри!

Иджы фи нэгу къыщIэзгъэхьэну сыхуейщ Хьисэ Мэссихь жорым фIэлъу. СэркIэ абы нэхъ сурэт дахэ щыIэкъым. ИкIи, мис, фIэлъщ Ар, зи фIыгъэкIэ Тхьэм блыныр кIуэцIриуду гуауэм зэщIиубыда ди дунейм къызэрыкIуар. ФIэлъщ ар, Библием мыр зыхужиIар: «Зиусхьэным псоми ди гуэныхьхэр Абы трилъхьащ». ФIэлъщ Ар, ди гуэныхь мывэ псори, ди къуаншагъэ мывэ псори зи дамэхэм телъыр. ФIэлъщ Ар, дэ тщыщ зыми хузэфIэмыкIынур зылэжьыр. Абы ди гуэныхьхэм я мывэхэр Iуех. Абы и хъыбар фэ езыхэр Библием фыщеджэ. Мыбдеж, мы жорым, мы псалъэхэр зэщIа щохъу: «Ди дунейм и тезырыр Абы телът». 

Ар нэгъуэщI щIыкIэкIи къывгурызгъэIуну хуит сыфщI.  Швейцарием ныбджэгъуфI щызиIэщ, куэдрэ зэгъусэу къыздэткIухьауэ. ЗэщIыгъуу щIыпIэ гуэр шэджагъуашхэ щыщытщIкIэ, и уасэр тхауэ къытхуахьырт: фэ фи зыхэз шхыным и пщIэр къыдитын хуейщ! Хэт и бохъшэр нэхъ Iув? Сэ, дауи, жысIэ хъунут: «ныбжьэгъу, нобэ уи чэзущ! Ет!» жысIэу. КъывгурыIуэрэ зыгуэрым итын хуей уасэр. Тхьэм и пащхьэ щытелъ къуаншагъэм, ди гуэныхь, щIэпхъаджагъэ зэхэтщIыхьа псоми я уасэр зыгуэрым итын хуейщ . Е фтелъ щIыхуэр Хьисэ зэрипшынар фи фIэщ фщIынщ, е зэгуэр фэ езым ар фыпшыныжын хуей хъунущ. Дэтхэнэ гуэныхьри пшыныжын хуейуэ къоув. Флъагъуркъэ сэркIэ Хьисэ апхуэдизэу щIэлъапIэр? Ар апхуэдэу быдэу щIэсIыгъыр Абы си щIыхуэр ипшынащи, аращ!

Ауэ Хьисэ кхъэлэгъунэм къыдэнакъым. Хьэуэ, ар гъуэзэджэщ! Хьисэ зэрылIэрэ махуищ хъуауэ, цIыху гуэр хуабжьу хэгупсысыхьауэ щытт. Ар егупсысырт: 

-              Сыт Хьисэ къыщыщIар? Ар хьэдэщ иджы. Сэ слъэгъуащ Ар кхъэлэгъунэм иралъхьэу и хьэпIэм мывэшхуэ зэрыIуалъхьэжар. Щыта Ар Тхьэм и Къуэу хьэмэрэ щымытарэ?

 А цIыхум зэреджэр Фомэт. Ар апхуэдэу егупсысыху, и ныбжьэгъухэр къэсащ, хъыбар  гуфIэгъуэ къахьри: 

-              КъэдаIуэт! Хьисэ псэущ! Сыт уэ иджыри къэс ущIэнэщхъейр? Ар псэущ!

-              Хэт псэур? 

-              Хьисэ!

-              Ар пэжынкIэ Iэмал иIэкъым.

-              Дауэ щытми, кхъэлэгъунэм нэщI хъуауэ тлъэгъуащ! Дэ абыкIэ дыщыхьэтщ, уеблэмэ абыкIэ тхьэ пхуэтIуэфынущ! Дэ дыIущIащ Абы!

-              Ярэби, апхуэдэ къэхъункIэ хъуну? – йогупсыс Фомэ. - ЛIа къэхъуж хабзэ? ЖаIэм Iуэхур тетмэ, Ар Тхьэм зэри-Къуэр пэжщ.

Фомэ фIэщмыщIт, абы къилъытэрт ар и гъащIэм и кIуэцIкIэ куэд дыдэрэ ягъэделауэ, икIи абы къыхэкIыу езым и нэкIэ имылъэгъуа зыри и фIэщ хъужыртэкъым.

Зэгуэр, мафIэгум сыздисым, Хьисэ теухуауэ сэрэ IуэхутхьэбзащIэу мэфIэгум ис цIыхубзымрэ дызэпсалъэрти, абы: 

-              Сэ си нэкIэ слъагъуращ си фIэщ хъур! - къызжиIауэ щытащ. Абы ещхьу арат Фомэ. Абы адрейхэм яжреIэ: 

-              ГъущI IунапIэхэр Хьисэ и Iэхэм ятезмылъэгъуауэ, си Iэпхъуамбэри а гъущI IунапIэхэм тезмылъхьауэ, си Iэри Хьисэ и джабэм тезмылъхьауэ, си фIэщ хъунукъым. 

Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэм сыт хуэдиз къыжраIами, и ужь дауэрэ къитами, зыри къикIынутэкъым, Фомэ а зытетым яхутекIынутэкъым: «Си фIэщ хъуркъым!» - жиIэнут.

МахуитI дэкIауэ, ар и ныбжьэгъухэм яхэтт. Абдеж зэуэ абыхэм Хьисэ къахэхутащ: 

-              Фигу ирезагъэ! – жиIэри, итIанэ Фомэ зыхуигъэзащ. – Уи Iэпхъуамбэр мэуэ къытелъхьэ, си Iэхэми къеплъ. Уи Iэри къэший, си джабэм къытелъхьэ.

Шэч къытумыхьэ, фIэщхъуныгъэ зигъэIэ.

Абы щыгъуэ гурыщхъуэм зыщIиIыгъэ а фIэщ мыщIыр, лъэгуажьэмыщхьэу зридзыхри, къыхэкIиикIащ: 

-              Уэ узи-Зиусхьэнщ икIи узи-Тхьэщ. 

ФэркIэ гурыIуэгъуэкъэ иджы «Тхьэм дигукIэ, ди псэкIэ къыдит гъащIэр щхьэгъэпцIэжкъым» щIыжысIэр? Тхьэр зэхэмыщIыкIыгъуэ гуэркъым, зыгуэрхэм зэрыжаIэу: «Тхьэ зыщIыпIэ щыIэн хуейщ, ауэ Абы и теплъэм зыри щыгъуазэкъым». Хьэуэ, ар пэжкъым. ДигукIэ, ди псэкIэ Тхьэм гъащIэ къызэрыдитым и лъабжьэщ Тхьэм и Къуэр щIым къызэрыкIуар, дэр щхьэкIэ лIэуэ лIахэм къазэрыхэтэджыкIыжар. Абы къыхэкIыуи, сэ Тхьэм теухуа псоми пыхыкIауэ сыщыгъуазэщ. 

Темэр къызэIусхын папщIэ, сэ япэщIыкIэ къывгурызгъэIуапхъэт: дигукIэ, ди псэкIэ Тхьэм гъащIэу къыдитыр щхьэгъэпцIэжкъым икIи нэкъыфIэщIкъым. Иджы етIуанэ упщIэм жэуап естын хуейщи, ар мыращ:

 

2. Тхьэр дигукIэ ди псэкIэ къыдит гъащIэр дауэ зэрызыIэрыдгъэхьэнур?

 

Сыту куэдрэ цIыхухэм къызжаIа: 

-              Уэ, дин пашэ Буш, уцIыху насыпыфIэщ! Уэ уиIэщ сэ симыIэ гуэр. 

Абыхэм жэуапу естыращ: 

-              Делагъэ жывмыIэ! Фэри ар дыдэр фиIэу фхуэщIынущ! Хьисэ фэр папщIи щыIэщ! 

Зэрыхабзэу, абы упщIэ къыкIэлъокIуэ: 

-              Дауэ Тхьэм къыдит сигукIэ, си псэкIэ гъащIэр зэрызыIэрызгъэхьэнур? 

Абы и жэуап IупщI Библием къыдет сатыр кIэщIкIэ: «Зиусхьэн Хьисэ

Мэссихь фи фIэщ фщIы!»

Сэ а фIэщхъуныгъэм фыхуэсшэфыну щытамэ, аратэкъэ! Абы щхьэкIэ сэ гурыIуэгъуэ сщIыпхъэщ «ФIэщ щIын» жыхуиIэм къикIыр. ЦIыху куэдым фIэщхъуныгъэр пхэнжу къагуроIуэ.

Зэгуэр сэ къысхуихуащ Норвегием и къэлащхьэ Осло лекцэ сыкъыщеджэну. Щэбэт пщэдджыжьым унэм сылъэтэжыну зызгъэхьэзырат, сыту жыпIэмэ къыкIэлъыкIуэ махуэм Вуппертал щызэхэтыну зэIущIэшхуэм сахэпсэлъыхьын хуейт. Ауэ и пэм щегъэжьауэ си Iуэхур хъуртэкъым: зэрыпшагъуэм къыхэкIкIэ, кхъухьлъатэр сыхьэт псокIэ ямыгъэлъатэу ягъэгуват. ИкIэм-икIэжым, ди къухьлъатэм зиIэтри, КопенгагенкIэ игъэзащ – абыи къыщетIысэхын хуейт ар. Копенгаген дыщхьэщыхьакIэу, къухьлъатэзехуэм, зэуэ ириIуэнтIэкIри, ШвециемкIэ игъэзащ. РадиомкIэ дэ хъыбар дагъэщIащ Копенгаген зэрыщыпшагъуэмкIэ икIи абы ущетIысэх зэрымыхъумкIэ. Дэ Мальмэ дылъэтащ. Сэ Мальмэ, Швецием, зыкIи сыхуейтэкъым. Абы щысщIэн щыIэтэкъым. Сэ сыздэкIуэн хуейр Дюссельдорфт. Вупперталым уаз щыстын хуейт. ИкIэм-икIэжым  Мальмэ дыщетIысэхащ, икIи долъагъу аэропортым темыхуэжу цIыху гъуэгурыкIуэхэр зэрытезыр. Кхъухьлъатэхэри, зыр адрейм и ужь иту, къетIысэх зэпытт. КъызэрыщIэкIымкIэ, Мальмэ аэропорт закъуэрт пшагъуэм щIимыгъэнар. Кхъухьлъатэхэм псоми мыбы къаунэтIырт. Мыр аэропорт цIыкIути, зыщыбгъэпсэхун тIысыпIэ нэщIи иIэжтэкъым. Австрием щыщ коммерсант гуэрым нэIуасэ сыщыхуэхъуащ абы. ТIури дызыгъэпIейтейр зэтехуэрт: ди Iуэху дауэ хъуну адэкIэ? Нэху щыху мыпхуэдэу дыщытын хуей хъункIэ хъунущ. Уи лъакъуэхэми уахуэмыIыгъыжынкIэ апхуэдизрэ! Псори шхыдэрт, щIэупщIэрт, гъумэтIымэрт, апхуэдэхэм деж зэрыхъу хабзэу, зэрымыарэзыр сыткIи къагъэлъэгъуэрт. Радиом хъыбар дегъащIэ: ипщэ лъэныкъуэмкIэ кхъухьлъатэ мэлъатэ! ЩетIысэхынур зэкIэ зэхэкIакъым: Гамбург,

Дюссельдорф, Франкфурт – абыхэм язщ. Лъэтэну хейхэр фитIысхьэ хъунущ.

Хуабжьу зэIумыбзт Iуэхур. Ди гъунэгъуу щыт цIыхубз гуэрым зыкъритIащ: 

-              Сэ а кхъухьлъатэм ситIысхьэнкъым! Сошынэ! 

Сэ жысIащ: 

-              ПщIэ зыхуэсщI! Уэ умылъатэу мыбы утесынуи ухуитщ!» Австрием щыщ си нэIуасэм жиIэращ: 

-              Мыпхуэдэу пшагъуэу улъэтэн жыхуэпIэр! Абы щыгъуи ущетIысэхынури! 

ЦIыхубз кIиймрэ Австрием щыщ лIымрэ щтэIэщтаблэ сащIауэ сыздэщытым, ди бгъумкIэ блэкIащ формэ щIыху зыщыгъ кхъулъатэзехуэр. Сэ гу лъыстащ абы и нэгур зэрызэпIэзэрытым. И теплъэ псом къыбжаIэрт абы ихь жэуаплыныгъэр къызэрыгурыIуэжыр. Австрием щыщ си ныбжьэгъум жесIащ: 

-              Мы кхъухьлъатэзехуэм уи дзыхь ебгъэз хъунущ, накIуи, дигъэтIысхьэ.

Ар цIыху щхьэпсыншэкъым! 

ИкIи дыкIуащ дитIысхьэну. Кхъухьлъатэ кIуэцIым дыщихьам, щIыр ди тегъэщIапIэу щымытыж щыхъуам, кхъухьлъатэбжэр щагъэбыдэжам щегъэжьауэ дэ а цIыхум и IэмыщIэ дихуат. Абы ди дзыхь едгъэзат. Си гъащIэр дзыхь хуэсщIат абы. Кхъухьлъатэр Франкфурт щетIысэхащ. Ди унэ сынэсыжыху, жэщыр кIуащ. Ауэ сэ си мурадым сылъэIэсащ. Мис аращ «уи фIэщ хъун» жыхуаIэр. Уи фIэщ хъуным къикIыр зыгуэрым уи дзыхь ебгъэзу аращ.

Тхьэм уигукIэ, уи псэкIэ къуит гъащIэр зэрызыIэрыбгъэхьэнур дауэ? «Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь уи фIэщ щIы!» Сэ жысIэнт: «Хьисэ деж щIыхь!» СыкъывгурыIуа? Кхъухьлъатэм дыщитIысхьэм, гу лъыстат: Австрием щыщ лIым хузэфIэкIамэ, и зы лъакъуэмкIэ аэропортым къытенэнти, адреймкIэ кхъухьлъатэм ихьэнт. Ауэ ар пхуэщIэнутэкъым. Ар е аэропортым къытенэн хуейт, е кхъулъатэзехуэм и кIэм нэсу и дзыхь иригъэзыпхъэт. Хьисэ и Iуэхури аращ зытетыр. Фэри зы лъакъуэмкIэ Хьисэншэу фыпсэууэ адреймкIэ Абы и деж фыщIыхьэн флъэкIынукъым. Ар пхуэзэфIэмыкIынщ! Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь уи фIэщ щыпхуэщIынур, Тхьэм уи гъащIэр щытебухуэфынур Абы зэрыщыту уи дзыхь ебгъэза нэужькIэщ. Сэ Абы жесIэн хуейщ: «Ди Тхьэ, гъащIэ сIых: ар зэрыщыту Уэ птеухуащ».

СынывэупщIыну хуит сыфщI: Тхьэм и Къуэр армырамэ, уи дзыхь зэбгъэзыну нэхъыфIыр хэт? Хьисэ къысхуищIам хуэдиз къысхуэзыщIа зыри дунейм теткъым! Абы апхуэдизкIэ фIыщэу сыкъилъэгъуати, сэр щхьэкIэ лIащ. Уэр щхьэкIи. Абы дыкъызэрилъэгъуам хуэдизу зыми фIыуэ дилъэгъуакъым. Ар лIахэм къахэтэджыкIыжащ. АтIэ лIахэм къахэтэджыкIыжыфам дзыхь схуемыгъэзынуи? Апхуэдэу умыщIэн щхьэкIэ, уакъылыншэн хуейщ ! Си гъащIэр Хьисэ щест дакъикъэм щыщIэдзауэ сэ Тхьэм къызит гъащIэм къыщIызодзэ. СэркIэ хуабжьу лъапIэщ уэрэд лъапIэ гуэрым щыщ мы псалъэхэр: «Уэ птезмыухуэмэ, хэт тезухуэн си гъащIэр? / Пащтыхь, сэ гуэныхьщIакIуэм щхьэкIэ жорым ущылIащ Уэ./ Сыхуейщ и кIэм нэс сыпхуэпэжыну/ сэ Уэ срыуизауэлIщ икIи срыуиIуэхутхьэбзащIэщ!» Фэри ар жыфIэфамэ, аратэкъэ.

Зыгуэр дыщIызгъужыпхъэщ иджы. Фи гъащIэр Хьисэ тевухуэну, Абы дзыхь евгъэзыну фыхуеймэ, ар Езым жефIэ! Ар фи гъунэгъущ. ЖефIэ Абы:

«Зиусхьэн Хьисэ, Уэ узот си гъащIэр! Сэ сытхьэншэу, сыщIалэщIэ кIуэдауэ, Хьисэ зыхуэзгъазэу Ар си Зиусхьэну къыщысштам, мыпхуэдэу Тхьэм селъэIуауэ щытащ: «Зиусхьэн Хьисэ! Иджы си гъащIэр Уэ ныпIэщIызолъхьэ. Сэ укъэзгъэгугъэфынукъым хьэлэл сыхъуну. Абы щхьэкIэ Уэ нэгъуэщIыгу къызэптын хуейщ ! Сэ сыхьэл IуэнтIащ, ауэ уи деж сызэрыщытым хуэдэу сыкъокIуэ. Уэ узыхуейр къысхэщIыкI! Ар сэ лъэныкъуитIымкIи Хьисэ деж сыщыщIыхьа, зилъкIэ си щхьэр Къэзыщэхужам си гъащIэм и унафэ ищIыну хуит щысщIа дакъикъэт.

Ауэ апхуэдэ гъащIэм зыщыбужьын папщIэ, Iэмал имыIэу Iуэхугъуищ гъэзэщIэн хуейщ:

Тхьэм и Псалъэм еджэн, Тхьэм уелъэIун икIи Тхьэм и бынхэм япыщIауэ ущытын.

КъывгурыIуэрэ, фэ Хьисэ ейуэ фыщытыфынукъым, Абы теухуауэ зыри фемыджэу е зэхэвмыхыу. Библием е ХъыбарыфIым махуэ къэс зы сыхьэт плIанэ феджэ, нэгъуэщI Iуэху псори а зэманым фи щхьэм ивгъэхуи. МыгурыIуэгъуэ щIыпIэ гуэрхэм фыIууэкIэ фымыгузавэ. Нэхъыбэ феджэху, пэж дахащэхэр нэхъ къыфхузэIуха хъунущ. Си гур гуфIэгъуэм зэщIещтэ, а КъегъэлакIуэ телъыджэм сызэрыIэщIэлъым, Абы и гугъу зэрысщIыфым сыщегупсыскIэ. Тхьэм уигукIэ, уи псэкIэ къыуит гъащIэр бгъуэтыным къыщынэу, а гъащIэмкIэ нэгъуэщIхэми уадэгуэшэфынущ. 

ЕтIуанэ Iуэхугъуэр тхьэлъэIурщ. Хьисэ фызэхех фэ. Фэ Абы псалъэ гъэщIэрэщIакIэ зыхуэвмыгъэзэну къуэды егъэзакъым. Псалъэ къызэрыгуэкIкIэ Тхьэм фелъэIумэ, зэфIэкIащ, псалъэм папщIэ, унэгуащэ гуэрым зэрищIым ещхьу: «Зиусхьэн Хьисэ, нобэ махуэ хьэлъэщ: си лIыр губжьащ, сабийхэр къызэдаIуэркъым, сыжьыщIэн хуейщ, а псом ищIыIужкIэ, иджыпсту евро 10 хуабжьу дыхуэныкъуэщ. Зиусхьэн Хьисэ, уи лъабжьэм ныщIызолъхьэ си тхьэмыщкIагъэ  щытыкIэр зэрыщыту. Си гум гуфIэгъуэкIэ къыхуэупсэ, сыту жыпIэмэ сэ си гъащIэр Тхьэм къыбгъэдэкI гъащIэщ. А псор сшэчынымкIэ зыкъысщIэгъакъуэ! Зиусхьэн Хьисэ, фIыщIэ пхузощI Уэ си дзыхь псори уэзгъэз зэрыхъум щхьэкIэ». КъывгурыIуэрэ, си гум сыт илъми, псори Хьисэ жесIэ хъунущ! Апхуэдэу селъэIу хъунущ: «Зиусхьэн Хьисэ, нэхъыфIу зыкъэзгъэцIыху, нэхъ бдагъэу сыныббгъэдэтын папщIэ». 

Тхьэм дигукIэ, ди псэкIэ къыдит гъащIэм и ещанэ Iуэхугъуэу щытщ фIэщхъуныгъэ зиIэ цIыхухэм дахэтыныр. Абы къикIыр уэ уэщхьу Хьисэ и IэмыщIэ илъхэм уахэтын хуейуэ аращ. Иджыблагъэ зыгуэр къысхуэтхьэусыхащ и фIэщхъуныгъэм зэрыхимыгъэхъуэфымкIэ. Сэ абы чэнджэщ естащ чыристанхэм яхэтыну. Ауэ абы къысхуидакъым, ахэр игу зэрыримыхьыр жиIащ. Абы жэуапу естаращ: «НэгъуэщI Iэмал къыпхуэнэжыркъым, абыхэм уэгум уащригъусэну ухуеймэ, мы щIылъэм абыхэм уахэтыфу зыщебгъэсапхъэщ! Тхьэм уэр щхьэкIэ щхьэхуэу чыристан хэха гуэрхэр къыхуэгъэщIынукъым!» 

Си щIалэгъуэм щыгъуэ банкир гуэр сцIыхуу щытащ. Ар зи ныбжь хэкIуэта зиусхьэнти, и щIалэгъуэм куэдрэ къысхутепсэлъыхьыжырт. Еджэн Iуэхур щызэфIигъэкIам щыгъуэ абы и адэм ахъшэ бжыгъэ пыухыкIа гуэр къритри, Европэм и къалащхьэ псори нэгузегъэужьакIуэ къызэхикIухьыну хуит ищIащ. Фи нэгу къыщIэвгъэхьэт апхуэдэ Iэмал зыгъуэта, илъэс 18 хъу щIалэр. Хэти ехъуэпсэнщ абы! АтIэ а зиусхьэн зи ныбжь хэкIуэтам жиIэжырат: «Сэ сщIэрт ди зэманым апхуэдэ къалэшхуэхэм удэзыхьэхын, удэзышэхын куэд зэрыщыIэр, сэри гуэныхь къэсхьынкIэ зэрыхъунур. Ауэ сэ Хьисэ и IэмыщIэ силъыну сыхуейти, «ХъыбарыфIыр» къыздэщтащ. ХьэщIэщым сыкъыщIэкIын и пэ сэ сыхуейт Хьисэ и макъ зэхэсхыну, Абы сепсэлъэну. Дэнэ сыкIуами, абы чыристанхэр къыщыслъыхъуэрт. Дэни щызгъуэтырт Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэр: Лиссабони, Мадриди, Лондони. Нэхъ гугъу сыщехьар Парижщ. Абы куэдрэ сыщылъыхъуэн хуей хъуащ, Хьисэ и IэмыщIэ илъ гуэр къэзгъуэтын папщIэ. ИкIэм-икIэжым

къысхуагъэлъэгъуащ Библием еджэ шырыкъущIэ гуэр». ИкIи, мис, екIуу зэщыхупыкIа щIалэщIэр шырыкъущIэм и лъэщапIэм и дэкIуеипIэхэм йохри, абы йоупщI: 

-              Уэ Хьисэ пцIыхурэ? - жеIэри. 

Абы и жэуапэу шырыкъущIэм и нэхэр гуфIэу къилыдыкIащ. ЩIалэр елъэIуащ абы: 

-              Зэгъусэу Тхьэм делъэIун папщIэ, пщэдджыжь къэс уи деж сыкъэбгъэкIуэн? – жиIэри. 

Апхуэдэу мыхьэнэшхуэ иритырт абы ещанэ Iуэхугъуэм – чыристану щытыну я фIэщIу хущIэкъухэм яхэтыным. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, сэ, псом япэу, сыхуейщ Хьисэ къызэрыкIуэ лъандэрэ Тхьэм дигукIэ, ди псэкIэ къыдит гъащIэр щхьэгъэпцIэжу зэрыщымытыр къывгурызгъэIуну. ЕтIуанэрауэ, Тхьэм дигукIэ, ди псэкIэ къыдит гъащIэр зыIэрыдгъэхьэфын папщIэ, Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь ди фIэщ тщIыпхъэщ. Иджы, икIэм-икIэжым, сэ упщIэ нэхъыщхьэм сынэсащ.

 

2.Тхьэм дигукIэ, ди псэкIэ къыдит гъащIэм     сыт сэбэпу хэлъыр?

 

Ныбжьэгъу лъапIэхэ! Тхьэм дигукIэ, ди псэкIэ къыдит гъащIэмрэ Хьисэ дигу илъынымрэ фIыгъуэу дэ къыдат псоми сытепсэлъыхьыну иужь сихьамэ, зэманыр схурикъунтэкъым. Апхуэдэу куэд къызэщIаубыдэ абы.

  Сэ зэи сщыгъупщэнкъым илъэс 53-рэ зи ныбжь си адэм лIэуэ телъу къызжиIэгъар: 

-              Вильгельм, си ныбжьэгъу, си цIыхугъэ псоми яжеIэж  Хьисэ си гъащIэкIи лIэныгъэкIи насыпыфIэ сызэрищIам и инагъыр! 

ФщIэрэ, цIыхур лIэуэ щытелъым деж абы псалъэ гъэщIэрэщIа тэрэфарэ зэхилъхьэну и Iуэхужкъым. Абдежым ар Хьисэ гъащIэкIи лIэныгъэкIи насыпыфIэ зэрищIам щыхьэт щытехъуэмэ, а псалъэхэр щхьэ куцIым хохьэ.

Фэ фи лIэныгъэр дауэ щытыну пIэрэ?

Сыдин пашэ щIалэу Рур хэкум гъэщIэгъуэн гуэр къыщыхъуауэ щытащ. ЗэIущIэшхуэ гуэрым зы еджэгъэшхуэ къахэувэри сыхьэтитI енкIэ Тхьэ зэрыщымыIэр я фIэщ ищIыну иужь итащ. ЩIэныгъэу бгъэдэлъыр ирихьэлIащ абы. ЦIыхухэми гуфIауэ Iэгуауэхэр къытракъутэрт: 

-              Ура, Тхьэ щыIэкъым. Сыт дыхуейми, тщIэ хъунущ. СыхьэтитIкIэ къэпсэлъар псэлъапIэм  къыщехыжым, 

зэIущIэр езыгъэкIуэкIыр къэтэджри, жиIащ: 

-              Дискуссием щIэдзэнщ иджы. Хэт къэпсэлъэну хуейми, и Iэр иреIэт! 

Дауи, зыми апхуэдэ лIыгъэ къылъыкъуэкIакъым. Псори мыхуэдэу егупсысырт: «Апхуэдиз зыщIэ еджэгъэшхуэм хэт едэуэфын?» 

ЗэрыгурыIуэгъуэщи, абы жиIамкIэ мыарэзы куэди яхэтт абыхэм. Ауэ зыри тегушхуакъым Iэгу еуэу апхуэдиз цIыху зыщIэсым и къэпсэлъапIэм къихьэн! Ауэ дауэ хъуами! Зы Iэ къаIэтащ. Нэхъ и кIэ сатырхэм зы фызыжь къахэтэджыкIащ – Рур хэкум щыкуэдщ апхуэдэхэр, лентIхэмкIэ гъэщIэрэщIа, зи жьэгъупсыр щIэпхыкIыжа пыIэ фIыцIэ цIыкIу зыщхьэрыгъ къуэкIыпIэпруссие фызыжь нэсхэр. 

                             ЗэIущIэм и тхьэмадэр абы еупщIащ: 

-              Уэ зыгуэр жыпIэну арат, нанэ?

-              Аращ, - къритыжыщ абы жэуап, - зыгуэр жысIэнут!

-              АтIэ, абы щыгъуэ мыдэкIэ къыдэкI! 

-              Ахьей, сыныдэкIын, - жиIащ абы, - сэ сышынэркъым!

ЛIыгъэ зыхэлъ цIыхубзт! Ар къыщыхъуар 1925 гъэрщ. Ар къыдэкIщ, къэпсэлъапIэм къиувэри, къыщIидзащ:

-              Зиусхьэн оратор. Уэ сыхьэтитI енкIэ утепсэлъыхьа къудейщ фIэщхъуныгъэ зэрыпхэмылъым. Иджы сэ хуит сыфщI дакъитху къудейкIэ си фIэщхъуныгъэм и гугъу сщIыну. Сэ ныфхуэсIуэтэну сыхуейщ си Зиусхьэным, Уафэм щыIэ си Адэм, сэ къысхуищIар. СыцIыхубз щIалэу, си лIым насыпыншагъэ къытепсыхэри, хьэдэу къысхуашэжьауэ щытащ. Сабиищ скIэрыщIауэ фызабэу сыкъэнащ. Абы щыгъуэ сыциальнэ IуэхущIапIэхэм щIагъуэу заужьатэкъым. Си щхьэгъусэм и бэным сыщыбгъэдэтым, си гур кIуэдыпат. Ауэ сэ Тхьэм сигъэудэIуащ, зыми сызэримыгъэудэIуфынум хуэдэу. ЦIыхухэм къызжаIэр си зы тхьэкIумэмкIэ ихьэрти, адреймкIэ къикIыжырт. Ауэ Абы – Тхьэм псэум – сигъэудэIуащ! Сэ Абы жесIащ: «Зиусхьэн, иджы Уэ си бынхэм я адэ ухъун хуейщ!» (А цIыхубзым и псалъэхэм уи гущIэм зыкъыдагъазэрт). Пыхьэщхьэ куэд къысхуихуэрт, нэху щымэ, сабийхэм яшхын къызэрысщэхун ахъшэ къыздисхынур сымыщIэу. ИкIи ар си КъегъэлакIуэм жесIэрт: «Зиусхьэн, Уэ ущыгъуазэщ сэ сызыхэт гугъуехьым.

КъыздэIэпыкъу!»

Зи ныбжь хэкIуэта цIыхубзым, ораторым дежкIэ зигъазэри, жиIащ: 

-              Абы зэи утыку сыкъринакъым, зэи! Языныкъуэхэм зэман Iей сихуэрт, ауэ абы щыгъуи сыкъибгынэртэкъым Абы. Нэхъыбэжи къысхуищIащ Абы: Абы Езым и Къуэр, Хьисэ Мэссихь,  сэр щхьэкIэ лIэуэ ЗилъкIэ си гуэныхь псори стезыгъэкъэбзыкIыжар, къигъэкIуащ! Иджы сэ жьы сыхъуащ. Куэд схьыжынукъым. Ауэ фыкъэдаIуэт, Абы сэ гугъапIэ быдэ къызитащ мыкIуэдыжын гъащIэ зэрызиIэнумкIэ. Мыбдеж си нэхэр щызэтеспIэмэ, уафэм сыкъыщыушыжынущ, сыту жыпIэмэ Хьисэ и IэмыщIэ силъщи. Мис а псори къысхуищIащ Абы. Иджы уэ сыноупщI, зиусхьэн оратор: «Уэ уи фIэщмыхъуныгъэм сыт къыпхуихьа?» 

Ораторыр къэтэджщ, фызыжьым и дамэхэм теуIуэри, жиIащ:

-              Дэ дыхуейкъым мыпхуэдэу жьы хъуа цIыхубзэм и фIэщхъуныгъэр къеIытхыну. Жьы хъуахэм ар яхэлъми, хъунущ! 

Абдеж а фызыжьыр флъагъугъащэрэт! ЩIалэ къэхъужам ещхьу, жыджэру къыпэуващ ар еджэгъэшхуэм:

-              Хьэуэ, апхуэдэу тынш цIыкIуу уэ сэ усфIэкIынкъым! Сэ сызэрыноупщIам и жэуапыр къептын хуейщ, зиусхьэн оратор! Зиусхьэным сэ къысхуищIар ныбжесIащ. Иджы уэ къызжеIэт: «Уи фIэщмыхъуныгъэм сыт къыпхуищIа уэ?»

Еджэгъэшхуэм, Iэнкун хъуауэ, зыри жиIэртэкъым. Нанэр фызыжь губзыгъэт.

Дунейм и дэнэ лъэныкъуэкIи ХъыбарыфIым  къыщебгъэрыкIуэу щыслъагъукIэ, сэри сыщIэупщIарэт жызоIэр: «Фи фIэщмыхъуныгъэм сыту пIэрэ апхуэдизу къыфхуихьыр?» - жысIэу. Сэ слъэгъуакъым абы цIыхухэм гузэгъэгъуэ къаритауэ,насыпыфIэ ищIауэ. Хьэуэ, си ныбжьэгъухэ!

Сыт-тIэ Хьисэ теухуауэ гъащIэм дэ къытхуихьыр? Абы и лъэныкъуэкIэ си щхьэкIэ згъэунэхуа гуэр ныфхуэсIуэтэжынщ. Си гъащIэр жьгъей хъунт, ХьисэкIэ Тхьэм секIужауэ  щымытыгъамэ! Языныкъуэхэм деж си гур зэгуэудыну хьэзырт: нобэ сэ зэхэсхащ мыбдеж гъунэгъуу насыпыншагъэшхуэ къыщыхъуу унагъуитI гуауэм зэрыхидзар. Дэри дымыщIэххэу, сыт хуэдэ гуауи къыттепсыхэнкIэ хъунущ, абы щыгъуэ псалъэ

фэрыщI гъэщIэрэщIахэм дахуэмыныкъуэжу ди Iэхэр кIыфIыгъэм хэтшиенущ, «къыддэIэпыкъун, зыкъытщIэзыгъэкъуэн гуэри щымыIэххэу пIэрэ?» жытIэу дыщIэупщIэ хуэдэ.

ФщIэрэ, гъащIэм и дакъикъэ хьэлъэхэм сэтей къыщохъу ХьисэкIэ уиIэр. Дыщызэрышам щыгъуэ, си фызым жесIауэ щытащ: «Щхьэгъусэ, сэ къуих сиIэну сыхуейщ, псори тромбоным еуэфу». Унагъуэм езым уи оркестр уиIэжыныр хъуэпсэгъуэу къысщыхъурт. ИкIи зэрыжысIам хуэдэу быних зэдэдгъуэтащ: пхъуиплIрэ къуитIрэ. Ди къуитIри щыIэжкъым. ТIури Тхьэм узижэгъуэн зэрабгыу тIихыжащ - япэ щIыкIэ зыр, итIанэ адрейр. Апхуэдэу щIэхъуар нобэр къыздэсам къызгурыIуэн слъэкIыркъым. Сэ си гъащIэ псом щIалэщIэхэм сахэтащ щIалэгъуалэ дин пашэу, ауэ сэ езым си щIалэхэр... Иджыри къэс сощIэж си къуэ етIуанэр хэкIуэдауэ хъыбар къыщысIэрыхьам щыгъуэ си гум хуэзэу сэ къысхаIуам ещхьу сызэрыхъугъар. ГузэвакIуэ къыщIыхьэ цIыхухэм гуауэр сщагъэпсынщIэну жаIэ псалъэхэр си гум нэсыртэкъым икIи зыкIи сэбэп къысхуэхъуртэкъым. Ауэ сэ щIалэгъуалэм срадин пашэрт икIи сщIэрт, пщыхьэщхьэ хъумэ, щIалэгъуалэ клубым сыкIуэу щIали 150-м Тхьэм и Псалъэр нэфIэгуфIэу яхуэсIуэтэн зэрыхуейр. Ауэ си гум

лъыкъуалэр щежэхырт! Абы щыгъуэ пэшым зыщIэзубыдэщ, лъэгуажьэмыщхьэ зизгъауэри Тхьэм селъэIугъащ: «Зиусхьэн Хьисэ, Уэ упсэукъэ, гущIэгъу къысхуэщI сэ дин пашэ тхьэмыщкIэм!» Си ХъыбарыфI тхылъыр къызэгуэсхри сыкъеджащ: «Хьисэ жеIэ: Си гузэгъэгъуэр фэ фызот». Сэ сщIэрт Абы жиIар зэригъэзэщIэнур. Абы селъэIуащ сэ: «Зиусхьэн Хьисэ, сэ иджпсту къызгурыIуэркъым Уэ ар къыщIэбгъэхъуар, ауэ гузэгъэгъуэр къызэт!

Си гум из щIы Уи гузэгъэгъуэр!» ИкIи сыщIелъэIуар къысхуищIащ Абы! КъысхуищIащ! Фи пащхьэ абыкIэ щыхьэту сыкъыщоув мыбдеж.

Фэри хуей фыхъунущ Абы нэгъуэщI зы цIыхуи сэбэп

къыщыфхуэмыхъуфым деж. Зы цIыхуи зыкъыщыпщIимыгъэкъуэфым деж, ЗилъкIэ жорым кIэрылъу ди щхьэ къищэхужу итIанэ лIахэм къахэтэджыкIыжа Хьисэ пцIыхуныр гъуэзэджащэщ. Дэ Абы жетIэ хъунущ: «Зиусхьэн, уи гузэгъэгъуэр къызэт!» Абы къыдит гузэгъэгъуэр псыхьэлыгъуэ лъэщу гум къолъадэ. Ар ехьэлIащ ди гъащIэм и сыхьэт нэхъ хьэлъэ дыдэу лIэныгъэр къыщыблагъэми. Фи лIэныгъэр дауэ щытыну? 

Абы щыгъуи фэ зы цIыхуи къывдэIэпыкъунукъым. УеблэмэнэхъыфI дыдэу плъагъу Iэри зэгуэр бутIыпщын хуей хъунущ. Дауэ хъуну абы щыгъуэ? Тхьэм и пащхьэ фыкъихутэнущ. Ярэби, фыхуейуэ пIэрэ фэ Тхьэм и пащхьэ фи гуэныхьхэр фтелъу фихьэну? КъегъэлакIуэм и Iэ быдэр пIыгърэ мыр пщIэмэ: «Уэ уилъ лъапIэмкIэ сыкъэпщэхури си гуэныхьу хъуар схуэбгъэгъуащ!» - абы щыгъуэ умыгузавэу улIэ хъунущ. 

СытI-тIэ, дауэ щытми, Тхьэм дигукIэ, ди псэкIэ къыдит гъащIэм сэбэпу къытхуихьыр? КъыфхуезбжэкIынщ сэ ахэр: Тхьэм уекIужыныр, гузэгъэгъуэр, Тхьэмрэ гъунэгъухэмрэ яхудиIэ лъагъуныгъэр – ар апхуэдизкIэ гуащIэщи, уеблэмэ ди бийхэри, ди псантхуэхэр зэIызыгъыхьэ псори фIыуэ тхуэлъагъунущ, насыпыншагъэм деж – дыгъэ бзыгъэ лыдыр махуэ къэс тлъагъу дызыщIыж тегъэуныгъэр, мыкIуэдыжын гъащIэ дызэриIэнумкIэ гугъапIэ быдэр, Тхьэм и Псэ ЛъапIэр, Тхьэм ди гуэныхьхэр тхуигъэгъуныгъэр, зышыIэныгъэр ... сэ иджыри Iэджэ къыпысщэфынущ. 

Си псалъэр соух сэркIэ хуабжьу лъапIэ уэрэд лъапIэм щыщ усэкIэ: 

Дэгъуэщ Мэссихь ейуэ ущытыну, Ар къыщоджэкIи жепIэну: «Аращ,

Сэ Уэ срыуейщ, Хьисэ, Уэри усысейщ!»

Шэч лъэпкъ хыумылъхьэжуи Абы уеджэнущ, 

Ди Iуэху щызэIыхьам, ди КъыщхьэщыжакIуэкIэ Езыр узэджэжыну лIэужькIэ икIи IуэхутхьэбзащIэкIэ.

Дэгъуэщ КъегъэлакIуэм ейуэ ущытыну !

               Апхуэдэ къулеигъэрэ апхуэдэ насыпрэ фиIэну сыныфхуоупсэ сэ!

 

 

 

..

                       .