.

ПСОМИ ЗИХЪУЭЖЫПХЪЭЩ, АУЭ ДАУЭ?

 

         Си щIалэгъуэм щыгъуэ псори дихьэхауэ еджэу щытащ Макс Эйт жыхуаIэ тхакIуэм, иджы зи цIэ ящыгъупщэжам, и новеллэхэм. Ар и IэщIагъэкIэ инженерт икIи и тхыгъэхэм лъабжьэ яхуищIыр техникэм и лIэщIыгъуэм къыхих материалт. Новеллэхэм ящыщ зым зэреджэр «IэщIагъэм къыхэкI гуауэт». Абы къыщыгъэлъэгъуа инженер щIалэм жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ къалэн и пщэ къыдалъхьэ. Абы лъэмыж трилъхьэн хуейт и хьэлкIэ тенджыз псыдэуапIэм ещхь псым. Ар къалэн гугъут, сыту жыпIэмэ апхуэдэ лъэмыжым псыр къеныкъуэкъу зэпытщ. Абы зэрыпэщIэтын Iэмал иджы къагупсысахэр абы щыгъуэ зэкIэ щыIэтэкъым. Аращи, а щIалэщIэм лъэмыж абрагъуэр еухуэ. Ар хьэзыр щыхъуам, ехьэжьауэ ягъэлъапIэу къызэIуахащ, музыкэм еуэу, ныпхэр къыфIадзауэ, газетхэм я корреспондентхэр куэду кърихьэлIауэ. Газету хъуар а щIалэм тетхыхьащ. Иджы ар цIыху цIэрыIуэ хъуащ. Абы Лондон архитектурнэ бюро ин щиухуащ, фыз къулей къишащ, сытми зыхуей псори егъуэт! Ауэ абы и гъащIэр къызэIищIэу зы щэху гуэр къуэлъщ, и фызым фIэкIа зыри нэгъуэщI щымыгъуазэу.

         Бжьыхьэр къихьэху къэс, ар езым иухуа лъэмыжым макIуэ. Жэщым борэныр етамэ, уэшхыр кърикIыхмэ, абы и плащыр зришэкIауэ, шынэм иубыдауэ, лъэмыжым бгъэдэтт. Лъэмыжыр зыIыгъ щIэгъэкъуэнхэм къеуэ псым и къарур абы, езым къыжьэхэуэм хуэдэу, зыхещIэ. ЩIэрыщIэу къытригъэзэжурэ абы къелъытэж щIэгъэкъуэнхэр быдагъ яIэн хуей яIэу ищIарэ имыщIарэ, жьым и къарур тэмэму къилъытарэ къимылъытарэ. Борэнхэм пачмэ, абы Лондон егъэзэж. ИтIанэ ар аргуэру цIыхушхуэ мэхъуж, къалэм пщIэшхуэ щиIэу. Зыми гу лъитэркъым абы и гур шынэм зэриIыгь зэпытым: «Тэмэму ухуа хъуауэ пIэрэ лъэмыжыр? Быдагъ хэлъын хуейм хуэдиз хэлъу пIэрэ абы?» А упщIэхэращ и гъащIэр къызэIигъэхьэу кърихьэкI щэхур. Макс Эйт укъызэщIиIэтэу къретхэкI апхуэдэ зы борэн жэщ гуэрым къэхъуауэ инженерыр аргуэру шынэу и лъэмыжым деж зэрыщытыр. Абы елъагъу лъэмыжым мафIэгу зэрырикIуэр. Я ужь дыдэ ит вагоным и нэхур иджыри илъагъурт, псори борэн кIыфIым щыхэкIуэдам. Абы занщIэу къыгурыIуащ: мафIэгур ищIагъым щызэрызехьэ псым хэхуащ. Лъэмыжыр и зэхуэдитIым деж щызэпыщIыкIат.

         СыщIалэу а хъыбарым сыкъыщеджам щыгъуэ, си щхьэм мы гупсысэр  къихьауэ щытащ: «Дэ тщыщ дэтхэнэ зыми ттеухуакъэ ар?» Дэ псоми ди гъащIэм и лъэмыж доухуэ, икIи зэзэмызэ жейм демызэгъмэ, зыгуэрым хуабжьу дрипIейтеймэ, гузавэ къатщтэу арагъэнщ: «Тэмэму сухуауэ пIэрэ си гъащIэм и лъэмыжыр? ГъащIэм и борэн псоми пэщIэтыфыну пIэрэ ар?» - жытIэу. ИкIи шэчыншэу къыдгуроIуэ псо дыдэри зэрымытэмэмыр. Ди гъащIэм и лъэмыжыр зэрыщытын хуей псом хуэдэу щыткъым! Арат сэ япэу гу зылъывэзгъэтэнур:

 

1. Зэрыщытыпхъэ дыдэм хуэдэкъым

 

         Къалэшхуэм и дин пашэу сыщыту, сэ цIыху Iэджэм садэуэршэрурэ мы темэм и щхьэфэм сиIэбащ, мыр жысIэу сахэупщIыхьурэ: «КъызжеIэт, уи гъащIэр зэрыщытын хуейм хуэдэ псомкIи?» - икIи сэ иджыри къыздэсам зы цIыхуи срихьэлIакъым мыпхуэдэу зызымыумысыжа: «Псори зэрыщытыпхъэуи?! Хьэуэ! Куэд хэлъщ абы нэгъуэщIу щытын хуеяуэ!» Сэ, дауи, жысIэфынукъым ди гъащIэм и лъэмыжым и махапIэр дэнэ дежми. Ауэ фэ езыхэм фощIэж куэдыр нэгъуэщI гуэру щытын зэрыхуеяр.          Аращи, пIалъэ-пIалъэкIэрэ ди щхьэ унафэ худощIыж: зысхъуэжын хуейщ! МыбыкIэ е мобыкIэ сэ Iуэхур нэхъыфI сщIыпхъэщ! КъыжыфIэт, фэ пэж дыдэу фи фIэщ хъурэ цIыхум зихъуэжыфыну? Хьэуэ, ипэжыпIэкIэ цIыхум зыхуэхъуэжынукъым! Библием и щхьэ течауэ къыджеIэ ар: «Эфиоп цIыхум и фэр хуэхъуэжыну, хьэмэрэ щомыщым хэт IэпапIэхэр игъэкIуэдыфыну? Фэри аращ: Iей влэжьу фесамэ, фIы фхуэлэжьыжын?» Дунейр зэщIищтащ хабзэм теухуа псалъэмакъхэмрэ гуращэ дахэхэмрэ, ауэ зы цIыхуми зыхуэхъуэжыркъым. Мыр гум къеуэ псалъэщ! Сэ куэдрэ къысхуохуэ си щхьэм лъыр дэуеяуэ цIыхухэм сахэтыну, сыту жыпIэмэ а сызыхэтын хуей цIыхухэм я гъащIэ лъэмыжыр зэрымытэмэм дыдэр солъагъури. Езыхэри къызоупщI: «ЛIо мыгъуэ тщIэнур? Дэр-дэру зытхуэхъуэжыркъым». Пэжщ, аращ зэрыщытыр: цIыху цIапIэм гу къабзэ хузэгъэпэщынукъым. ПцIыупсхэр пэжым техьэжыфынукъым. Щхьэхуещэм зэуэ зыкъызэщIипхъуэту зыгуэр фIыуэ хуэлъагъунукъым, фэ зытригъауэми, и кIуэцIкIэ зэрыщытауэ къэнэжынущ. МыцIыху пэжри а зэрымыпэжым тетынущ. Фи гъащIэ лъэмыжыр щымытэмэм щIыпIэр къысхуэхутэну щытамэ, аратэкъэ! Ауэ Тхьэм фигъэлъагъуфынущ ар.

         Ар Библием гу зылъыдигъатэ пэж телъыджэщ. Сэ вжесIэр, зэрыгурыIуэгъуэщи, си щхьэм къисха гупсысэкъым, Тхьэм и Псалъэр фхуэсIуэтэж къудейуэ аращ. Библием къытхуеIуатэ пэж фIэщ щIыгъуей узыIэпызышэр. Абы жеIэ: Тхьэ псэум дунейм лIыкIуэ къигъэкIуащ дэри ди гъащIэр зэрыщытуи зригъэхъуэжыфыну! Ар нэгъуэщIкъым, Езым и Къуэрщ, Зиусхьэн Хьисэщ!

 

2. Псоми захъуэжынкIэ хъунущ

 

         ЦIыхухэм чыристаныгъэр зэшыгъуэу къызэралъытэр члисэм и ягъэу пIэрэ, си ныбжьэгъухэ? Сэ сызэригугъэмкIэ, Тхьэм Езым и Къуэр дэ къела дыхъунымкIэ шэсыпIэ закъуэу къызэригъэкIуам теухуа хъыбарым нэхъ узыIэпызышэ щыIэкъым! Хьисэ псалъэ гъэщIэгъуэныщэхэр къыжьэдокI: «Псори щIэуэ къызогъэщI!» - жеIэри. Аращ, Абы и закъуэщ цIыхухэр зыхъуэжыфынур!

         Сэ слъэгъуащ ефэныр IэщIыб зыщIыфа фадафэхэр. Зи ныбжь хэкIуэта цIыхубз щхьэхуещэхэу я эгоизмэмкIэ я благъэхэм я фэр изыххэм зэуэ захъуэжри адрейхэм гулъытэ хуащI хъуащ. ФIеягъ зылэжь цIыхухъухэми а фIеягъыр зыкIэрагъэкIыжыфырт. Хьисэ цIыхухэр ехъуэж, нэгъуэщI ещI! Хьисэ къокIуэ, икIи псори щIэрыщIэ мэхъуж! Ар шыпсэкъым. Абы и щапхъэ куэдыкIей къыфхуэсхьыфынущ.

         Абы къыхэкIкIи дэ, ди гъащIэ лъэмыжыр зэрымытэмэм дыдэр къызыгурыIуэжхэр, а КъегъэлакIуэм дыхуэныкъуэщ! Дэ дызыхуейр Зиусхьэн Хьисэщ, чыристаныгъэракъым, Мэссихьщ! ЗыгурывгъаIуэ, дэ дыхуейкъым дин, догмэ, члисэ, дэ дызыхуэныкъуэр КъегъэлакIуэ псэущ. ИкIи Ар мыбы щыIэщ! Фэ Ар нобэ къевджэу тхьэмыщкIагъэ щытыкIэ фызэрытыр хуэфIуатэ хъунущ. Аращ хъыбарыфI дыдэу сэ ныфхуэсIуэхур!

         Иджыпсту нывжесIар щапхъэкIэ къывгурызгъэIуэну хуит сыфщI. Иджыблагъэ Мюнхен зы тхьэмахуэкIэ сыщыIащ. А къалэм и нэхъ дахапIэ дыдэхэм ящыщ зыщ Инджылыз хадэкIэ еджэу къалэкум ит парк абрагъуэр.

Си хьэщIэщыр паркым пэжыжьэтэкъыми, пщэдджыжь къэс абы сихьэрт.

ИхьэпIэм деж пхъэ лъэмыж цIыкIу ухуэзэрт, абыкIэ псы цIыкIум узэпрыкIыу. Пхъэ лъэмыжым и сэмэгурабгъумкIэ псыр IущIапIэм ешкIуриехырт. Зэгуэр сэ къэслъэгъуащ псы ехуэхым къигъэхъу архъуанэм жыг къудамэ цIыкIу джэрэзу зэрыхэлъыр. Сэри зэман лей хъарзынэу сиIэти, сыкIэлъыплъырт ар адэкIи-мыдэкIи мыкIуэу хъурейуэ къекIуэкIыу зэрыщытым. Языныкъуэхэм деж къыпфIэщIырт ар псым ипхъуатэу адэкIэ ихьыну. Ауэ ар архъуанэм аргуэру ириубыдэжырт. ЕтIуанэ махуэм сыщыкIуами, къудамэ цIыкIур и пIэм икIатэкъым. ЛъэныкъуэкIэ укъыщеплъкIэ къыпфIэщIырт ар адэкIэ и гъуэгу пищэну еIэу. Ауэ зэпымыууэ ар архъуанэм иубыдыжырт. Фи нэгу къыфщIэгъэхьэну ар? Псыр адэкIэ псынщIэу кIуэрт, ауэ къудамэ цIыкIур и пIэм иуджыхь зэпытт.

         Апхуэдэщ цIыхум я нэхъыбэм я гъащIэр. А зы архъуанэм йоджэрэзыхьри итщ: зэпымыууэ а зы гуэныхьхэрщ, а зы хущыщIэныгъэхэрщ, а зы гукъеуэрщ. А зы псэукIэрщ, а зы хъурейрщ! Ауэ ябгъукIэ зыпс щыIэщ, Тхьэм и Къуэм, Хьисэ, къыбгъэдэкIыу. Хьисэр жорым дэр щхьэкIэ кIэрылIыхьащ. Фэ дауэ феплърэ, Тхьэм Езым и Къуэр апхуэдэ ажал шынагъуэ хэхуэну хуит щищIкIэ, абы мыхьэнэшхуэ гуэр хэлъкъэ, а мыхьэнэр зыхуэдэр мызыгъуэгукIэ къывгурымыIуэу щытми! Фи гупсысэкIэ Абы фыхудэплъей: Абы мыхьэнэ гуэр хэлъын хуейщ! Абы ублэкIынкIэ Iэмал иIэкъым! Ар къывгурыIуэным зэрыфлъэкIкIэ фыхущIэкъупхъэщ! Тхьэм Ар ещанэ махуэм лIахэм къахигъэтэджыкIыжащ. Хьисэ къыбгъэдокI хуит фызыщI псыр. Ауэ дэ, жыг къудамэ цIыкIум ещхьу, ди хъуреягъым дыкъоджэрэзыкIыж. А Инджылыз хадэм сыздитым, сэ сегупсысащ а къудамэ цIыкIум тIэкIунитIэ уеIунщI къудеймэ, ар псым зэрырихьэжьэнум. Ауэ сылъэIэсынутэкъым, псым сыхэхуэнкIэ хъунут. Дэ дыжыг къудамэкъым, икIи а кIэ зимыIэ архъуанэм укъизыш лъэбакъуэр, дыкъезыгъэл псыуэ Тхьэм и Къуэм къыбгъэдэкIым дыхэзышэ лъэбакъуэр - дэ езым тчыжын хуейщ. ИтIанэ дэ къэтлъагъунущ, дауэ хъуами, Тхьэм дэ дыкъызэрыхишар! Сэ мыр иджыпсту вжесIэн хуейщ: фэ езым фчыжын хуейщ а лъэбакъуэр! А архъуанэжь кIэухыншэм укъришу Хьисэ къыбгъэдэкI псы укъезгъэлынум ухэзышэ лъэбакъуэр пчыну Тхьэм укъызэрыхуриджэр IупщIу зыхэзыщIэ цIыхухэр щыIэщ!

 

3. Дауэрэ хъуами

 

         Мыр Библием  ит хъыбар зыбжанэ къэзгъэсэбэпурэ къывгурызгъэIуэну сыхуейт. Апостол Паул гъэру яшауэ щытащ рим тепщэм и хэщIапIэр зыдэт Кесарием. Рим прокураторыщIэ Фест зи цIэм деж зэгуэр къеблэгъат иудей пащтыхь Агриппрэ абы и фыз Вереникэрэ. Абыхэм Паул зи цIэ гъэрым и хъыбарыр яфIэгъэщIэгъуэн хъуауэ, абы едэIуэну хуабжьу щIэхъуэпсырт. Фест ахэр къигъэгугъащ къыкIэлъыкIуэ махуэм абы иригъэпсэлъэну.  Фест, Агрипп, Вереникэ сымэ, апхуэдэу нэгъуэщI Iэтащхьэхэмрэ пщIэ зиIэ цIыхухэмрэ хуабжьу загъэбжьыжу хьэкум щащIэ пэшым щIэт я шэнтжьейхэм итIысхьа нэужь, Паул гъэрыр къыщIашэну унафэ ящIащ. Ауэ дакъикъэ зыбжанэ дэкIа нэужь, Iуэхум и щытыкIэм зехъуэж. Иджы ягъэкъуаншэу щытыр Паулкъым, атIэ ар зыхэт цIыху гупыр зэрыщыту ягъэкъуаншэм и пIэ иуващ. Паул ХъыбарыфIым къриха ущиекIэ къахопсэлъыхь икIи къедаIуэхэм къагурегъаIуэ Хьисэ хэт хъунуми. МызыгъуэгукIэ ар нэхъыбэу зытепсэлъыхьыр къедаIуэхэм я гуэныхьхэракъым, атIэ Тхьэм и Къуэращ, мы псалъэхэр жызыIаращ: «Хэт псы хуэлIами, си деж фыкъакIуи, фефэ». Фи гъащIэмкIэ мыарызыхэр, зи напэ хьэлъэ телъхэр, лIэныгъэм щышынэхэр, зи псэ Тхьэм хуэныкъуэхэр, мэжалIэхэр, фыкъэдаIуэ: Хьисэ и Iэхэр къыфхуишийурэ мыр къывжеIэ: «ЦIыху ешаелIа, хьэлъэ уэндэгъу зытелъ псори, си деж фыкъакIуэ, гузэгъэгъуэ фэстынущ!» Арауэ къыщIэкIынт Паул жиIэр, апхуэдэу я нэгу къыщIигъэувагъэнщ езыр и щхьэкIэ зыхуэзауэ щыта Хьисэ и уардагъэр. Паул псэлъэн щиухым, Фест тепщэм жиIащ: «Дахэ дыдэу уопсэлъэф уэ, Паул, ауэ сэ къызэрысфIэщIымкIэ, а жыпIэхэр акъылыншагъэщ!» Зыри къыгурыIуатэкъым а Фест. Библием языныкъуэ цIыхухэм щхьэкIэ жеIэ я гум щэ трищIауэ. Пэжщ, щыIэщ апхуэдэхэр, абыхэм зыри яхыхьэркъым, псори къожэбзэхыж. Фэри апхуэдэхэр фхэтынкIэ хъунщ. Абыхэм ящыщт Фести. Ауэ Агрипп пащтыхьым зэхихар и гум хыхьат, абы жиIауэ щытар, сэ телъыджэу къысщохъу: 

-              Паул, иджыри зы тIэкIу жыпIэжмэ, сэри чыристан сыхъуну, Мэссихь и гъуэгу срикIуэну сыкъытебгъэхьэнущ. 

«Иджыри зы тIэкIу» жиIа щхьэкIэ, ар занщIэу кIуэжащ. ИкIи псори зэрыщытауэ къэнэжащ. Инджылыз хадэм сызыщрихьэлIа жыг къудамэм ещхьу, псори а зы архъуанэм йоджэрэзыхь, а зы Iуэхум, а зы гъащIэм хэтурэ лIэныгъэм носри, я занщIэр я гъуэгуу жыхьэнмэм макIуэ. Фэри фызэрыщытагъэжь? Арамэ, пщIэншэу лIащ Хьисэ фэр щхьэкIэ. Гуэныхь къыхуэгъуи фиIэкъым, щхьэхуит хъужыныгъи фиIэкъым итIанэ, Тхьэм екIужыныгъи фиIэкъым. Зы лъэбакъуэ закъуэщ чэмыр. «Зы тIэкIу хэлъыжамэ, сэри чыристан сыхъунут». Ар гъэщIэгъуэнщ: чыристанкIэ зэджэж цIыхухэр Тхьэм и бын хъуркъым. ЧыристанкIэ зэджэж пэтрэ, цIыхухэр кIуэдыжыпIэм макIуэ. ЧыристанкIэ зэджэж пэтрэ, цIыхухэр емыкIужауэ къонэ.

         Иджы вжесIэнур ищхьэкIэ вжесIам техуэркъым. Апостол Паул Европэм щыщ къалэ Филиппэ кIуат зэгуэр. Абы уи нэгу зыщебгъэужь хъун щIыпIэ куэд дэтт, театри, зызыгъэкъалэ дэтхэнэми иIэн хуей нэгъуэщI гуэрхэри иIэт. АтIэ къалэр къалэ хъурэ тутнакъэщ дэмыту - ари дэтт мы къалэм. А тутнакъэщым и унафэщIыр рим дзэ пашэу щыта гуэрт, а къулыкъу мамырыр уIэгъэ хьэлъэ къытехуауэ зэрыщытам щхьэкIэ къыхуагъэфэщауэ. Зэгуэр а лъэхъуэщхъумэм деж, Библиер аращ абы зэреджэр, ягъэтIысахэм ящыщитI къыщIашащ, абыхэм ещхь япэм зэи имылъэгъуауэ: апостол Паулрэ абы и гъусэ Силэрэ. Абыхэм къалэдэсхэм Мэссихь теухуа ХъыбарыфIыр хуаIуэтащ. Абыхэм я хъыбар цIыхухэр къызэщIиIэтэу зэрыхуежьам щхьэкIэ, къалэ тетхэм унафэ ящIащ ахэр яубэрэжьу тутнакъэщым яшэну. Паулрэ Силэрэ лъэхъуэщхъумэм и IэмыщIэ иралъхьащ, ахэр пщэдджыжь пщIондэ темыплъэкъукIыу ихъумэну къыщыжраIэм, мыдрейр къулыкъу щIэным еса цIыхути, жэуап яритащ: 

-              Ерэхъу, сытемыплъэкъукIыу схъумэнщ ! ЖыфIар згъэзэщIэнщ!

Нэхъ и лъабжьэу абы зы камерэ иIэт, и блынхэм псыр къежэхыуи, Паулрэ Силэрэ абы ирадзащ, я лъакъуэхэм лъэхъу иралъхьэри. А лIым сыт хуэдэ дину пIэрэт иIыгъыр жаIэу къызэупщIамэ, сэ жысIэнт: фэ фщыщ куэдыр зэрыт диныращ. Абы и фIэщ хъурт Зиусхьэн Тхьэр, е тхьэ зыбжанэ зэуэ иIэнкIэри хъунт. Рим дэс цIыхухэм я деж дин зэмылIэужьыгъуэхэр щызекIуэрт, езы зезыхьэхэм я фIэщ  мыхъужхэри хэту. Ди дежи аракъэ! Фи нэгу къыщIэвгъэхьэт апхуэдэ лъэхъуэщхъумэ. Ауэ мыбдеж зы телъыджэ къэхъуащ. Ар къызэрыхъуар щхьэм къитIэсащэркъым. Жэщ ныкъуэм Паул Хьисэ зыгъэлъапIэ уэрэд жиIэу щIедзэ. Сэ сызэригугъэмкIэ, жэщ ныкъуэм нэсыху ар къыщыщIам егупсысу щысащ. Ар зэман хуейт къращIар игъэвын папщIэ - гущIэгъуншэу яубэрэжьат, тутнакъ ящIат. ЦIыхум дежкIэ гъэвыгъуафIэкъым ар. Абы и щхьэм къихьащ итIанэ: 

-              Сэ Хьисэ, Тхьэм и Къуэм, и лъымкIэ, сыкъищэхужакъэ! Хьисэ Тхьэм сригъэкIужакъэ! Мыбдежи сэ Абы и IэмыщIэм сыщилъщ!

Абы уэрэд лъапIэ жиIэу ирегъажьэ. Сили абы къыдожьу. Дэгъуэ  дыдэу! Ар тутнакъым ису хъуам зэхах. А пшыналъэр тутнакъым зэи щызэхахатэкъым. Сэри сисащ тутнакъэщ, ар зищIысыр сощIэ. Абы щызэхэпхынкIэ хъунур гыбзэрэ хъуанэрэщ, гъуахъуэ, гыз макъщ, хъумакIуэхэм я кIий-гуощ. Сэ зэгуэр Тхьэр уэрэдкIэ згъэлъэпIэну и ужь ситати, занщIэу пызагъэчауэ щытащ. Уегупсыс зэрыхъунумкIэ, иджырей хъумакIуэхэм къагуроIуэ Тхьэр ягъэлIэпIэным шынагъуэ зэрыхэлъыр. Ауэ а зэманыжьхэм щыгъуэ ар иджыри къагурыIуэу къыщIэкIынутэкъым. Арати, Паулрэ Силэрэ уэрэдыр жаIэрт. Лъэхъуэщхъумэм ар игъэщIэгъуагъэнущ. Ар щIэдэIуагъэнщ, мыбы жаIэр сыт, жиIэу. Абыхэм Хьисэ теухуа уэрэд лъапIэ жаIэ! Ярэби, цIыхум иджыри и фIэщ хъурэ Тхьэр? Абы щыгъуэми тутнакъэщым щIэсым! Ахэр зэрыс гъуанэм гукъыдэж псори щыкIуэдын хуейт. Ауэ итIани абыхэм я Тхьэм уэрэд хужаIэ! Ауэрэ лъэхъуэщхъумэр гъуэлъыжащ. Абдеж зэуэ щIыр егъэлеяуэ хъеящ. Ар Тхьэм и IэщIагъэт.

Тутнакъэщыбжэхэр Iужащ, абы исхэм я Iэхъулъэхъухэр ихуащ. Лъэхъуэщхъумэр къыщылъэтри, Iэбэрабэурэ, ерагъыу зихуэпащ, икIи къилъэгъуащ бжэуэ хъуар зэрыIугъэзэщIыкIар. Тутнакъым исахэр псори зэбгрыжыжауэ къыфIэщIри ар къэгузэващ, абы щхьэкIэ къращIэнум щышынэри зиукIыжыну мурад ищIащ.. Ауэ Паул ину къэджащ: 

-              Iей лъэпкъ зумыщIэж, дэ псори дымис. 

Библием зыри жиIэркъым лъэхъуэщхъумэм и гум щыхъа-щыщIахэм теухуауэ. Ауэ абы а напIэзыпIэм къыгурыIуащ Тхьэ псэу зэрыщыIэр икIи Ар и гъуэгу ирикIуэхэм къазэрыщхьэщыжыр! ЩыIэщ Тхьэ псэу, ауэ езыр Абы хуэмыфащэу псэуащ! ЩыIэщ Тхьэ псэу, ауэ езыр Абы къыщIидэн щыIэкъым!

ЩыIэщ Тхьэ псэу, икIи Ар щыгъуазэщ абы и гуэныхьхэми и фIеягъэми! ЩыIэщ Тхьэ псэу, ауэ езыр гуэныхьщIакIуэ кIуэдащ! Ар Паул зыщIэс пэшым щIэлъэдащ кIийуэ: 

-              Си зиусхьэнхэ, сыкъелын папщIэ, сыт злэжьын хуейр?

 Абы зыхищIат и гъащIэр, Инджылыз хадэм и жыг къудамэм ещхьу, архъуанэм инауэ зэритыр, езыри дапщэщи зэрыщытам хуэдэу къызэрынэжыр. Ауэ мис абы и пащхьэ къиуващ упщIэ: «Сыт сщIэн хуейр, сыкъезыгъэлын псыхьэлыгъуэм сыкъыхэхутэн папщIэ?» Ди зэманым псэуамэ, уазышхуэ щIагъэдэIуну къыщIэкIынт ар, моралым теухуа псалъышхуэ къыхуеджэнт. Дэ жетIэнкIэ хъунт мыпхуэдэу: 

-              Зыумысыж псомкIи, зыри умыбзыщIу! 

Паул жиIар нэгъуэщIщ: 

-              Уэ узыхуейр Хьисэщ! Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь уи фIэщ щIыи, уэри уи унагъуэри псори фыкъелынущ!

Лъэхъуэщхъумэм Хьисэ теухуауэ мащIэт ищIэр. Абы IуэрыIуэтэжу зэхихауэ арат Хьисэ Тхьэм и губжьми, хьэкумми, жыхьэнмэми, гуэныхьыщIэ гъащIэми дыкъыхишурэ, дыкъригъэлу. Ар Хьисэ IэщIэлъ мэхъу. АдэкIэ дахэ дыдэу къетхэкIащ тутнакъ хъумакIуэм Паул тутнакъым къызэрыригъэкIыжар, ар Хьисэ теухуа хъыбарыфIым зэрыщIэдэIур, икIи зэрыщыту Хьисэ ей хъун папщIэ зэраумэхъар. А хъыбарыр мы псалъэхэмкIэ еух: «Езыри и унагъуэри щыгуфIыкIащ Тхьэр я фIэщ зэрыхъуам». Иджы ар гъащIэм и псым хэхуат! Иджы ар Тхьэм екIужат! 

ИщхьэмкIэ къыщыхьа щапхьэхэм цIыху гуэрым щхьэкIэ щыжеIэ, иджыри зы тIэкIу хущощIэ,  жеIэри. Адрейм къыхущIэроуэри, къезыгъэлыну псым хагъахуэ. Фэ дауэ фыпежьэну къегъэлыныгъэм теухуа хъыбарым?

          

4. Хьисэ фи фIэщу къафщтэ!

          

 Псоми захъуэжыпхъэщ, ауэ дауэ? Псом япэу, Хьисэ зэвгъэцIыхуным куэд елъытащ!

         Мыр къыщыхъуар зауэр щиуха дыдэхэм дежщ. Сэ зыкъысхуигъэзащ еджапIэ нэхъыщхьэм и директорым: 

-              Зиусхьэн дин пашэ, сэ ныбжьыщIэ 15 сиIэщ, еджапIэр зауэм и зэманым къаухауэ. Ауэ ахэр нэджысакъым, ахэр иджыри илъэс ныкъуэ хуэдэкIэ егъэджэжын хуейщ, ахэр авиацэм и лейтенанту, артиллерием и лейтенант нэхъыжьу щытащ е апхуэдэ гуэрщ. Ахэр, дауи, хуабжьу иризэгуоп иджыри аргуэру еджапIэ шэнтхэм бгъэдэтIысхьэжын  хуей зэрыхъуам. Дин IуэхумкIэ ахэр тхуебгъэджэн?

         НэхъапэIуэми зэрыжысIащи, сэ абыхэм деж сышынэу, сыгузавэу сыкIуэрт. ИкIи, мис, си пащхьэм исщ зауэлI фащэ тIорысэ зыщыгь, Iугъуэмрэ гынымрэ игъэтхъуа зауэлIхэр. 

-              Фи махуэ фIыуэ! - фIэхъус язох абыхэм. - Сэ динымкIэ дерсхэр фэстын хуейщ. 

КъыщIэздзэну сыхунэсатэкъым, абыхэм ящыщ зы къэтэджу къыщызэупщIам: 

-              Апхуэдэ зауэ шынагъуэ къэхъуну Тхьэм хуит ищIа?» - жиIэу.

-              Дэнэ Тхьэм и лъагъуныгъэр здэщыIэр? – къыпищащ адрейм. - Ар, зыри жимыIэу, кIэлъоплъ журт мелуанхэр газкIэ щагъалIэкIэ! -  АдэкIи апхуэдэ гуэрхэр жаIащ. УпщIэхэр дэнэ лъэныкъуэкIи къикIыу къыстелъалъэрт. ИкIэм-икIэжым, си Iэр къэсIэтри, жысIащ: 

-              Зэт! Фэ фещхьщ пшагъуэм хэту кIуэ хьэфиз баш зыIэщIэлъым. Апхуэдэу Тхьэм утепсэлъыхьыныр губзыгъагъэкъым. Тхьэр гъэпщкIуащ икIи тцIыхуркъым. Абы ХьисэкIэ зыкъыдигъэлъэгъуауэ аращ. АдэкIэ дыкIуэн щхьэкIэ, псом япэу къэтщIэн хуейщ мыр: хэт хъуну Хьисэ? Зэдауэр къыхэвдзэн и пэ, зиусхьэнхэ, Тхьэм жиIахэр вджыпхъэщ. Аращ дэри тщIэнур. Абы щхьэкIэ, иджы фыкъыщыкIуэкIэ, фи Библиехэр къыздэфхь. 

ИкIи дэ деджу дублащ: «ЯпэщIыкIэ Тхьэм уафэмрэ  щIылъэмрэ къигъэщIащ». Дэ деджэрт цIыхум япэу гуэныхь зэрилэжьам, цIыхугъэ кIуэдам къыпэплъэ Тхьэм и хьэкумым теухуа хъыбархэм. Псоми я гум хыхьат Библием ит мы псалъэхэр: «Уэ пщIэн икIи уи фIэщ хъун хуейщ, уи Зиусхьэн Тхьэр къэбгъанэмэ, уэ езым уфIэфIу гуауэмрэ тхьэмыщкIагъэмрэ зэрызыхэбдзэжыр». Ар лъэпкъхэм ягъэунэху. Ар цIыху щхьэхуэхэм ягъэунэху. ИтIанэ дэ Хьисэ теухуауэ деджащ! Зэ тIысыгъуэу дыкъеджащ Абы и лIэныгъэмрэ лIахэм къазэрыхэтэджыкIыжамрэ я хъыбарым. Зэи сщыгъупщэнкъым а сыхьэтыр, ихъуреягъкIэ зы мыдыму щым щыхъугъар: зыр къеджэрт, адрейр едаIуэрт. Дэ дызыIэщIаубыдат Тхьэм илэжьа Iуэху абрагъуэхэм, ХьисэкIэ нэрылъагъу хъуахэм. Псори абы игъэпIейтеяти, япэрей  делагъэ зэдауэр Iуэхум щымыщу къызэрыхаIуар IупщI хъуат. Абыхэм къагурыIуат, чыристанкIэ зэджэж щхьэкIэ, Хьисэ къыпкърыкIыу ди деж къехыу дэ щхьэкIэ псори зылэжьа Тхьэ псэум теухуауэ я нэхъ мащIи зэрыщымыгъуазэр.

         Аращи, Хьиси Абы дыкъызыхуриджэри фи фIэщу къафщтэ! Хьисэ зэгуэр  жиIэжауэ щытащ мы ущие хъыбырыр: зэгуэр пащтыхьым и къуэм хьэгъуэлIыгъуэ хуищIат. И IуэхутхьэбзащIэхэр хигъэхьащ цIыхухэр ефэешхэм кърагъэблэгъэну. 

-              ФынакIуэ, псори хьэзырщ, Iэнэхэр зэтетщ!

Ауэ псори къэмыкIуэфын хъуащ. Зым жиIащ: 

-              Си гуапэу сынэкIуэнт, ауэ Iуэхушхуэ гуэр сыхэтщи, ар нэзмыгъэсу хъунукъым. 

КъывгурыIуэрэ, куэдым мыпхуэдэу жаIэ: 

-              Уэ удин пашэщ, уэ уи Iуэхур щхьэхуэщ, коммерсантыр уэ пхуэдэу щытыфынукъым. 

-              Тхьэр арэзы къыпхухъу сызэревгъэблэгъамкIэ, - жеIэ адрейм.  -  Ауэ сэфыз къэсша къудейщ. КъэсшагъащIэщ, сызэхэфщIыкIынщ. Аращи, дыхущIыхьэркъым. 

Арати, абыхэм ящыщ зыри къэкIуакъым.Си нэгу къыщIэзгъэхьэну иужь ситащ а цIыхухэм ягу къеуэу мы гупсысэм зэриIыгъар: 

-              СыкIуэн хуеящ пащтыхьыкъуэм и хьэгъуэлIыгъуэм, ауэ сыт, си Iуэху хуэхъуакъым.

                          Дэ ди нэхъыбэми аращ къащыщIыр: 

-              Тхьэм и быну сыщытын хуейт, ауэ сыхунэсыркъым зикI. 

СыволъэIу, къафщтэ Хьисэ фIэщхъуныгъэкIэ! ЦIыху куэдым жаIэ, фIэщхъуныгъэ яхэлъу. Сыт я фIэщ мыхъуу къэнэжат  нэмыцэхэм ещанэ рейхым и зэманым: фюрерри, Германиери,  икIэм-икIэжым зэрытекIуэнури, Iэщэ телъыджэри, н.къ.  Уи фIэщ пщIы хъуну зыри къэдгъэнакъым дэ. Ауэ зы фIэщъуныгъэ гуэр схэлъкIэ зэфIэкIыркъым. Сэ Тхьэм секIужауэ сыщытыпхъэщ.Ар зэрызыIэрыбгъэхьэфыну щыIэ закъуэри Хьисэщ! Иджы сытепсэлъыхьынщ  фIэщхъуныгъэр зищIысым. Ар щапхьэ  зыбжанэкIэ къывгурызгъэIуэнщ.

         Дин пашэу лэжьэн щIэздзэгъащIэу, сэ къысхуихуащ хьэблэ узижэгъуэн гуэр унащхьэ чэзууэ къызэхэскIухьыну. Дэнэ сыIухьами, бжэр си пащхьэм къыщагъэбыдэрти, къызжаIэрт: 

-              Дэ зыри къэтщэхунукъым!» 

Ауэ сэри я хьэлыр къэсщIати, бжэр кърадзылIэну хунэмыс щIыкIэ си лъакъуэр абы дэзгъанэрти жысIэрт: 

-              Сэ зыри сщэркъым, ауэ зыгуэр тыгъэ фхуэсщIыну аращ. Сэ сы дин пашэщ. 

-              Дэ дин пашэ дыхуэныкъуэкъым!» - арат жэуапыр. Фэтэр гуэр сыкIуат. Бжэр зэрыIусхыу, зэуэ пщэфIапIэм сыкъыщIэхутащ. Пэшым зы  щIалэщIэ щIэтт, адэ-мыдэкIэ къижыхьу. 

-              Уи махуэ фIыуэ! - жесIащ абы. 

ЗэхэмыщIыкIыгъуэу зы жэуап гуэр къигъумэтIымащ. 

-              Сэ сыдин пашэщ,  - зыкъезгъэцIыхуащ сэ. Ар зэщIэувыIыкIри, уафэгъуагъуэу къэгъуэгъуащ: 

-              Хэт жыпIа! Дин пашэри? Арат дыкъызыхуэтыр! Уэ зырат сызыхущыщIэр! ЩIэкI! Сэ зыри си фIэщ хъужыркъым, цIыхухэр си фIэщ хъужыркъым афIэкIа. 

Абы хьэлъэ гуэр игъэвагъэнут. Сэ жэуапу мыр естыжащ: 

-              IэплIэ зэхуэдгъэщI, щIалэщIэ! Сэри си фIэщ хъужыркъым цIыхухэр! Дэ тIур хъарзынэу дызэзэгъынущ. 

-              Дауэ? – щIэупщIащ ар, игъэщIагъуэу, - уэ удин пашэщ икIи цIыхухэр я фIэщ ящIыну бущиин хуейщ. 

-              Пэжуи? - сеупщIыжащ сэри, - арауэ щытми, сэ ар сфIэкIуэдащ. Сэ зауэм сыщыIащ. Сигу къокIыж абы Iеягъэу хэлъар, фIейуэ сызыIууар, зы цIыхуи гуапагъ хэлъу абы зэрыхэмытар. Хьэуэ, цIыхур си фIэщ хъуныр хьэбэсабэу зэтекъутащ! 

-              Мис ар хъуащ, - зиумысыжащ абы, - абы щыгъуэ къызгурыIуэркъым уэ ущIэдин пашэр?! 

-              Сэ фIэщхъуныгъэщIэ къысIэрыхьащ, апхуэдэу хьэбэсабэ зэи мыхъуну!- жысIащ сэ. 

-              Хьа-хьа, сщIэну сыхуейт ар зи фIэщхъуныгъэ лъэпкъыр! 

ИкIи сэ абы ХъыбарыфIым сыхутепсэлъыхьащ: 

-              УмыкIуэду укъелын папщIэ, зы шэсыпIэ закъуэу дунейм къэкIуа Хьисэ Мэссихь нэсу уи дзыхь ебгъэзыныращ! 

-              Хьиси? - игъэщIэгъуащ абы. - Ар чыристаныгъэращ! Сэ си гугъати абы куэд щIауэ кIэ игъуэтауэ.

-              Хьэуэ, ущоуэ, нэгъуэщI фIэщхъуныгъэ сыт хуэдэри щыкъутэкIэ, абы къыщIидзэ къудейуэ аращ!

         Сытым хуэдэу сыхуейт сыт хуэдэ нэгъуэщI фIэщхъуныгъэри IэщIыб фщIыуэ Хьисэ фи дзыхь евгъэзыну!

         Зауэр иуха къудейуэ, сэ къэсщэхужауэ щытащ жьы дыдэ хъуа маршинэ «Опель»,  куэд къызэхэскIухьыну сигу илъти. Япэ дыдэу абы сису сыкъыщилъэгъуам, си ныбжьэгъухэм ящыщ зым мыр жиIэгъат: 

-              Дин пашэр рулым дэтIысхьаи! Жыг къэс щэкI щабэ къедмышэкIыу хъуну къыщIэкIынкъым иджы.

-              ЛIо, маршынэ къезмыхуэкIыф уи гугъэ? - сеупщIащ сэ губжь щIэту. 

-              Дауэ къыумыхуэкIыфынрэ, уэ тхылъ уиIэщ хуит уищIу! 

-              АтIэ къитIысхьэ, укъесшэкIынщ! - пэзубыдащ сэ абы. 

-              Хьэуэ, хьэуэ, фIыщIэ пхузощI, сэ иджыри уэсят сщIыжакъым, - идакъым абы. 

Абдеж ирихьэлIэу си щхьэгъусэр къыIухьащ. 

-              КъитIысхьэ, дежьэнщ, - жесIащ абы. Зилъэфыхь лъэпкъ хэмылъу къитIысхьащ, нобэ къыздэсами зыри къыщымыщIауэ псэущ. Маршынэм къыщитIысхьам щегъэжьауэ, абы и гъащIэр нэсу сэ дзыхь къысхуищIащ. Мис апхуэдэу фэри Хьисэ фыхущытыпхъэщ. Фи гъащIэр зэрыщыту дзыхь хуэфщI абы!

         ЕтIуанэ дунейпсо зауэм теухуа хъыбар гъэщIэгъуэн сыкъеджащ иджыблагъэ, Сталинград деж урысыдзэм къащаухъуреихьам иужьрей нэмыцэ кхъухьлъатэр зэрихьауэ щытам тепсэлъыхьу. А кхъухьлъатэм уIэгъэхэр из ящIащ. Ауэ, мис, кхъухьлъатэм къыбгъэдохьэ уIэгъэ мыхьэнэншэ фIэкIа зытемылъхэри, щIыIэм иса сэлэтхэри - ахэри итIысхьэну хуейщ. Кхъухьлъатэм нэхъыбэ хуэIэтынутэкъым. ЩрамыгъэтIысхьэм, абыхэм кхъухьлъатэм зыкIэращIэ - хэт шэрхъым, хэт бжэм, икIи ... кхъухьлъатэм зеIэт. КъыщетIысэхыжам, зыкIэрызыщIахэм ящыщ щыIэжтэкъым - ахэр жьым Iуихат. И кIуэцIым исахэрат къелар.

         Абы сригъэгупсысащ: дэр щхьэкIэ лIэуэ лIахэм къахэтэджыкIыжа Хьисэ, Тхьэм и Къуэм, теухуа ХъыбарыфIри апхуэдэ кхъухьлъатэ къезыгъэлым хуэдэщ. АбыкIи кIуэдыпIэм укъикIыжыфынущ. Абы тIысыпIэу

узрикъун иIэщ. Ауэ сыту куэд хъурэ абы и кIуэцIым имыхьэу зыкIэрызыщIахэм я бжыгъэр: члисэм щыкIуэр Хъуромэ махуэшхуэм и закъуэщ, яумэхъащ, сыт къапэщIэхуэми я фIэщ ящI. Ауэ ахэр лIамэ, дин пашэр щыхьэт техъуэн хуейщ ахэр цIыху хьэлэлу, щыпкъэу зэрыщытам. ВжесIэну сызыхэтыр къывгурыIуэу пIэрэ? Куэдым зыкIэращIэ къудейуэ аращ. Фи фIэщ фщIы ахэр жьым зэрыIуихынур! Къелынур и кIуэцIым исхэращ! Фэ фису пIэрэ и кIуэцIым?

                         Хьисэ зыцIыхуу Абы и деж щIэмыхьа цIыхухэр жыхьэнмэм из хъунущ.

КъывгурыIуэрэ? Хьисэ уи фIэщ хъуным къикIыр Абы и деж ущIыхьэнырщ. Мис ар влэжь! А зыращ щэч лъэпкъ къытевмыхьэу фи гъащIэр дзыхь зыхуэфщI хъунур.

         КIэхыу Хьисэ и жорыр фи нэгу иджыри зэ къыщIэзгъэхьэну сыхуейщ. ГупсысэкIэ сэ сщIыгъуу Голгофэ, Ерусалим и куэбжэ пащхьэм къит Iуащхьэм, фыныдэкI. Абдеж жорым щыфIэлъщ Тхьэм и Къуэр. ЦIыхум и гуэныхьхэр къыщыхуэгъуну, псоми зыщебгъэхъуэжыфыну мы дуней псом зы щIыпIэ закъуэу щыIэр а жорыращ!

         Любек къалэм зы члисэжь телъыджэ дэтщ. Абы  щIэльщ 15-нэ лIэщIыгъуэм сурэтыщI Ганс Мемлинг тхьэнапэ теплъэ иIэу ищIа сурэт, Хьисэ жорым зэрыраIулIар къигъэлъэгъуэжу. 1942 гъэм а члисэм мафIэм исауэ щытащ. Бомбэ кърадзыхын зэраухыу, и гъащIэм дежкIэ шынагъуэ пэтми, ямыцIыху сэлэт гуэр а мафIэм хыхьауэ щытащ, сурэтыр къригъэлын папщIэ. Зауэр зэриухрэ куэд мыщIауэ, сэ Любек лекцэ сыкъыщеджэрт. Музейм и директорым къызжиIащ зэгуэр: 

-              Сэ си щIыунэм щызохъумэ Мемлинг и сурэт цIэрыIуэр, ухуеймэ, си гуапэу уэзгъэлъагъунущ. 

Сэ, дауи, апхуэдэ Iэмал блэзгъэкIакъым. Директорыр, сэ, нэгъуэщI ныбжьэгъу гуэри тщIыгъуу щIыунэм дехащ. Сурэт телъыджэщ: пхьэидзэ зыщI зауэлIхэр, цIыху зэмыфэгъу гупышхуэ, цIыхубз пыхьэхэр, фарисей ауаныщIу дыхьэшххэр. А псоми къащхьэщытщ жорищ. Абдеж гъэщIэгъуэн гуэрым гу лъызотэ: Хьисэ и жор лъабжьэм хуэзэу гуп зэхэтым зы IэпапIэ удзыфэ иIэщ, нэщIу.  

-              Ар гъэщIэгъуэнщ, - жысIащ сэ, - гупым, Хьисэ и жор дыдэм деж хуэзэу, щIыпIэ хуит иIэщ. Сыту пIэрэт Ганс Мемлинг абыкIэ жиIэну зыхуеяр? 

Курыт лIэщIыгъуэхэм щыIа сурэтыщIхэм дапщэщи я сурэтхэмкIэ зыгуэр къыджаIэну хэтащ, ахэр зыгуркIэ экспрессионистхэм йокIуалIэ. Си ныбжьэгъум къызгуригъэIуащ: 

-              Сэ сызэригугъэмкIэ, абы жиIэну зыхуеяращ: «Мыбдеж, Хьисэ и жор лъабжьэм, щIыпIэ хуит иIэщи, уэ ар бубыд хъунущ!

         Сэ куэдрэ си нэгу къыщIохьэж а сурэтыр: «Мыбдеж, мы жорым и лъабжьэм,/ лIэныгъэм и шэрэзыр щыфIокIуэд./ Мэссихь и уIэгъэ куухэм/сэ си къелыпIэр хызолъагъуэ./ Iэ дэ къытхуэщияхэм/ дунейр кърагъэл... 

Аращ, сэ сыщогуфIыкI, Хьисэ, Тхьэм и Къуэм, и жор лъабжьэм сэр щхьэкIэ щIыпIэ зэриIэм. Фэр папщIи хуитщ а щIыпIэр! А щIыпIэр хуиту игъащIэкIэ щывгъэтыну-тIэ фэ?

 

 

 

ХЭТИ ИРЕХЪУ, СЭРМЫРА ЗАКЪУЭМЭ!

 

         Сыт хуэдэ лъэхъэни къащти, езым и псэлъафэ гуэрхэр иIэжщ, цIыхухэм зэIэпахыу щыжаIэпхъи, къыщезэгъи къыщемызэгъи къажьэдэцIэфту. Ди нобэ махуэм и гугъу пщIымэ, нэхъ зыубгъуауэ кърахьэкI псэлъафэщ «Хэти ирехъу, сэрмыра закъуэмэ!» жыхуиIэр. А псалъэмкIэ дэ лъэныкъуэ псомкIи доуэ, адрей цIыхухэм заритыдошащIэ, уеблэмэ езы дыдэхэм зридукIыжыфынущ абы. «Хэти ирехъу, сэрмыра закъуэмэ» псэлъафэр гъащIэм дежкIэ хуабжьу шынагъуэщ. Ауэ ар икIи сэбэпи хъуфынущ. Зэгъусэу дыхэвгъаплъэт абы.

 

1. Къыщыдгъэсэбэпыхъэм деж къэдгъэсэбэпыркъым ар

          

                          Библием жыжьэ дыдэ къыщежьэ тхыдэжь гуэр итщ, ди нобэ гъащIэми

мыхьэнэшхуэ щиIэу, ди темэми хуабжьу къокIуалIэ ар. Иджыпсту ныфхуэсIуэтэнщ ар.

         Фэ зэгуэр нэхъ мыхъуми зэхэфхагъэнщ Ибрэхьим и цIэр, Библием и пэщIэдзэ дыдэм абы теухуауэ мыр итщ: «Ибрэхьим Тхьэр и фIэщ хъуащ, икIи абы фIэщхъуныгъэ зэриIэм папщIэ Тхьэм абы щыпкъагъэ иIэу илъытащ». Ибрэхьим Тхьэм и пащхьэм щытелъ гуэныхьхэр къыгурыIуэжырт, абыкIэ Тхьэм и пащхьэ зыщиумысыжырт икIи фIэщхъуныгъэкIэ Тхьэм къыхуигъэгъуныр къищтэрт. Ибрэхьимрэ абы и къуэшым и къуэ Лотрэ Iуэху гузэвэгъуэ гуэр хэхуат. Библием жеIэ: «Ибрэхьим Iэщ куэд иIэт». Ибрэхьим щIыгъуу къэзыкIухь Лоти Iэщышхуи Iэщ цIыкIуи иIэт. АдэкIэ итхращ: «Ибрэхьим и Iэхъуэхэмрэ Лот и Iэхъуэхэмрэ зэщыхьащ». Абы къытехъеикIыу зэIыхьлыхэр зэзэуэжынкIэ хъунут. Iэхъуэхэм я зэдауэр нэхъ куу хъу зэпытт. ЩIэх-щIэхыурэ ахэр я зиусхьэнхэм деж жэурэ зэныкъуэкъум теухуа хъыбар хуахьырт. Iуэхур зэщIэплъэрт. И къуэшым и къуэ Лот нэхърэ IэджэкIэ нэхъыжь Ибрэхьим и пIэ фитамэ, фэ сытыт абдеж фщIэнур, си ныбжьэгъухэ? Сэ а Лот сриадэ къуэшу щытыгъамэ, абы жесIэнурат: 

-              Сыт а уи Iэхъуэхэм си Iэхъуэхэм къращIэр? ЗыIуегъэх мыбдеж! 

Лот абы жэуапу къритынт: 

-              Абы ущымыгугъ! Сэри хабзэкIэ къыслъысыпхъэм сыхуейщ. Уэри зыIуегъэх! 

Мис апхуэдэурэ зэныкъуэкъур кIыхь хъунт. Гу лъывэзгъэтэну сыхуейщ мы хьэргъэшыргъэм Ибрэхьимрэ Лотрэ бий зэхуищIынкIэ хъуну зэрыщытам. Ауэ Ибрэхьим цIыху зэтетти, Тхьэм и набжьэ щIэуващ, итIанэ и къуэшым и къуэ

Лот еплъри егупсысащ: «Сыщыхьэнуи? Сеныкъуэкъунуи? Хьэуэ, хэти ирелэжь апхуэдэ, ауэ сэ ар сщIэнкъым!» Арати, абы и Iэр Лот и дамэм трелъхьэри, жеIэ:

-              ФIыуэ слъагъу, уэрэ сэрэ дызэщыIей хъунукъым, дэ дызэIыхьлыщ! 

ИкIи зэныкъуэкъум къызэрыхэкIын хэкIыпIэ хуегъэлъагъуэ - езым мылъкукIэ зыхрегъэлъафэ, мыдэуэн къудей щхьэкIэ.

         Хуит сыкъэфщI мыбдеж кърихьэлIа цIыхухъухэмрэ цIыхубзхэмрэ упщIэкIэ зыфхуэзгъэзэну: 

-              Фэри фыхэхуагъэнщ зи гугъу сщIа Iуэхум хуэдэ гуэр, зэдауэзэныкъуэкъу фыхишэну фи ужь къыщихьа. Фэри апхуэдэу фегупсысауэ пIэрэ абы щыгъуэ: 

-              Сыщыхьэнуи? Хьэуэ, хэти щрехьэ, сэрмыра закъуэмэ! 

Ибрэхьим ещхьу фыкъыхэкIауэ пIэрэ Iуэхум? Хьэуэ, фэ фи IэфIыпсу фыщыхьауэ къыщIэкIынщ икIи, тобэ ирехъу, нобэр къыздэсам вгъэбий хъунщ цIыхубзу Шульце е нэгъуэщI фи гъунэгъу гуэрхэр? Флъагъурэ, «Хэтуи ирехъу, сэрмыра закъуэмэ!» псэлъафэр сэбэп щыхъуи щыIэщ. Зиусхьэн Хьисэ жеIэ: «Гъуэгу махуэ теуващ цIыхухэм зэзыгъэкIужхэр». Ди чыристаныгъэ псом пщIэ мащIэ фIэкIа щIимыIэр куэд зэлъыта моментхэм деж зэдауэм хэмыхьэу зыхуэшыIэркъыми, куэд зэлъыта моментхэм деж напэтехыу къыхагъащIэри аращ.

         Иджыри нэгъуэщI зы хъыбари фхуэсIуэтэнщ, хуабжьу фIыуэ слъагъухэм ящыщу. Фыщыгъуазэу пIэрэ фэ Исуф зи  цIэ щIалэщIэм теухуауэ Библием ит хъыбар телъыджэм? Ар щIалэ цIыкIуу и къуэшхэм ящэри Мысырым гъэру яшауэ щытащ. А зэманым ар къэралышхуэт, культурэ лъагэ щызекIуэу. Исуф унэIуту иращат Потифар зи цIэ къулеижь гуэрым. А Потифарым сэрей куэди пщылI Iэджи иIэт. Исуф щыныбжьыщIэм щегъэжьауэ Тхьэр къигъэгугъат хуэпэжыну. Аращ, къохъу апхуэдэ!

ЩIалэщIэм мурад быдэ игу ирелъхьэри, Тхьэр къегъэгугъэ: 

-              Сэ уи IэмыщIэ силъыну сыхуейщ, - жеIэри. 

ИкIи, мис, ар и закъуэу Мысырым къыщыхутащ. Абы елъагъу адрей унэIутхэр зэрыдыгъуэри, пцIы зэраупсри, ауэ езыр и псалъэм хуэпэжу къонэ. Абы къыщодыхьэшх, къыщIонакIэ, ауэ и зиусхьэным дзыхь къыхуищI мэхъу. Фэ фощIэ чыристанхэм куэдрэ къазэрыщIэнакIэр, ауэ абыхэм куэдми дзыхь къыхуащI, ахэр зэрымыдыгъуэр, пцIы зэрамыупсыр ящIэри. ЩIалэщIэр лIы ныбжь иува  нэужь, ар Потифар и Iуэхузехьэ ищIащ. Исуф дэбгъуэн щымыIэу лIы бжьыфIэт, къекIут, нэкIу, Iэпкълъэпкъ дахэ иIэт. ЕкIууи хуэпат. Арати, абы нэ кърищащ зиусхьэным и фыз щIалэм. Ар цIыхубз диныншэт, нэгузыужьу гъащIэр игъакIуэу. Iуэхуу унагъуэм илъыр унэIут цIыхубз къомым зэфIагъэкIырти, Потифар и фызыр Iуэхуншэу щыст. АтIэ фэ зэрыфщIэщи, Iуэхуншагъэм къыхокI цIапIагъэу щыIэр. Исуф къелъагъури, абы зыкъыпригъэхыу хуожьэ. Исуф абы гу лъимытафэ зытрегъауэ. Ауэ адэкIэ къэхъум феплъ. Исуфрэ абырэ фIэкIа унэм щIэмысу зыхуегъазэри, абы къехьэкI-нехьэкI хэмылъу къреку, ар зыIэщIеубыдэри къыжреIэ: «Нэгъуэлъ си гъусэу!» - жеIэри. Библием дахащэу къретхэкIыж Исуф, тэлайкIэ гупсысэу, мыр зэрыжиIэр: «Хэти ирелэжь апхуэдэ, ауэ сэ ар сщIэнкъым! Зинэ сщIэнуи! Хьэуэ! Хэти ирелэжь апхуэдэ, ауэ сэ ар злэжьынкъым!» Дэ ди бзэкIэ аращ абы жиIар къызэрыпIуэтэнур. Ауэ Библиер зытетхыхь цIыхухэр IэджэкIэ нэхъ бзэ дахэт зэрыпсалъэхэр! Исуф мыпхуэдэу жиIащ: 

-              Дауэ апхуэдэ Iуэху фIей злэжьу Тхьэм и пащхьэ гуэныхь къыщысхьын? - ИкIи абы къокI: «Хэтуи ирехъу, сэрмыра закъуэмэ!»          Зи ныбжь хэкIуэтауэ мыбдеж кърихьэлIахэм зы цIыхуи къахэкIыну къыщIэкIынкъым и гъащIэм зинэ ищIэнрэ имыщIэнрэ къыхихын хуейуэ зэ нэхъ мыхъуми къыхуимыхуауэ, ди зэманым зинэ жыхуаIэр гуэныхьу къалъытэну хуеижыххэкъым зыри. АтIэ абы щыгъуэ жыфIауэ пIэрэ мыпхуэдэу: «Тхьэм сыкъелъагъу! Хэти ирелэжь апхуэдэ, ауэ сэ ар злэжьынкъым!» - жыфIэу? Исуф и хъыбарым дыщедаIуэкIэ, ди гум сыт щыхъэр дэ? Дигу къэкIыххэну къыщIэкIынтэкъым мыр жытIэну: «Хэтуи ирехъу, сэрмыра закъуэмэ!» - Тхьэм ди псалъэкIи ди IуэхукIи дыкъабзэу дыпсэуну къытхуигъэув пэтми. Апхуэдэ Iуэхухэм деж мащIэрэщ дигу къыщыкIыжыр «Хэтуи ирехъу, сэрмыра закъуэмэ!» - псалъэхэр. Ауэ сэ вжесIэн хуейщ Тхьэм махуэ къэс длэжь гуэныхьхэм щыщу зыри зэрыщымыгъупщэр. Сыту шынагъуэ «Хэтуи ирехъу, сэрмыра закъуэмэ!» псалъэхэр дыщыхуей дакъикъэхэм деж дигу къызэрымыкIыжыр! Абы дыхуэныкъуэт шейтIаным дыдихьыхыну щыхущIэкъум деж. Ди лъэхьэнэм и нэщэнэу щытщ Тхьэм и унафэхэм цIыхур зэрытекIыр.

         Ганновер къалэм щыщ дин пашэхэм я пащхьэ сыщыпсэлъэн хуейт «Дин пашэхэмрэ ди члисэхэмрэ сыт дыхуэныкъуэ?» темэмкIэ. А махуэм жысIа псалъэхэм хэтт : «Псом япэу дэ дызыхуэныкъуэр  шынэщ - жыхьэнмэм дыхэхуэнкIэ зэрыхъунур, Тхьэр зэрыткIийр, Ар и унафэхэм быдэу зэрытетыр къыдгурыIуэн хуейщ. .

         «Хэтуи ирехъу, сэрмыра закъуэмэ» - ахэр псалъэ хъарзынэщ. Ди зэманым ижь Iей къытщIэпщэу  Тхьэм и унафэр хэутэн тщIыну дыкъыщыхигъэзыхькIэ: «Хэтуи ирехъу, сэрмыра закъуэмэ!» жыдоIэ.       Библием, уигъэпIейтейуэ, хъыбар гуэр итщ. Тхьэм и Къуэр Iуащхьэм тетщ. ШейтIаныр (фэ шейтIан зэрыщыIэр фи фIэщ хъуркъэ? Мыхъуми, щыIэщ! Шэч къытевмыхьэ абы!) Тхьэм и Къуэм къыбгъурытщи, дунейм къэралу тетым я дахагъэр кърегъэлъагъури, къыжреIэ: 

-              Мис а псори Уэ уэстынщ, зы напIэзыпIэкIэ си пащхьэ лъэгуажьэмыщхьэу укъиувэмэ, зы напIэзыпIэ закъуэкIэ! 

Ауэ Тхьэм и Къуэм жэуап иретыж: 

-              Хэтуи иреув, сэрмыра закъуэмэ! Дуней псор уи пащхьэ лъэгуажьэмыщхьэу къиувами, сэ сыниувэнкъым! 

Ар дэ ди псэлъэкIэмкIэ къэпIуэтэжмэщ. Езы Зиусхьэн Хьисэ ар дахэ дыдэу жиIащ: 

-              Зиусхьэну уи Тхьэр бгъэлъапIэурэ, узыхуэлэжьэн хуейр абы и закъуэщ.

         «Хэтуи ирехъу, сэрмыра закъуэмэ!» псалъэхэр щыхуейм деж дигу къэкIыжу щытамэ, аратэкъэ! Ауэ куэдрэ къохъу ди делагъэкIэ а псалъафэр зыкIи дыщыхуэмейм деж къэдгъэсэбэпу!

 

2. Къыщыдмыгъэсэбэпхъэм деж къыдогъэсэбэп ар

 

         Дэ тщыщу нэхъыбэм, си ныбжьэгъухэ, «Хэтуи ирехъу, сэрмыра закъуэмэ!» псэлъафэр къыщемызэгъ дыдэхэм деж къыщыдогъэсэбэп. ЩIалэщIэ гуэр сигу къокIыж, щIалэ хъарзынэ, кIуэ дэбгъуэн щымыIэу. Абы жесIауэ щытащ: 

-              КъэдаIуэт, уи гъащIэр Тхьэм тебухуауэ щытамэ, уэ  жыжьэ унэсыфынут! 

Ауэ абы идакъым: 

-              Хэтуи ирехъу ар, сэрмыра закъуэмэ!

 Тхьэм дэ етщIэр мы иджыпсту  фхуэсIуэтэжыну хъыбарым хэт ныбжьыщIэхэм жьы хъуа диваным иращIам хуэдэщ. Дохутырым махуэ къэс лъэсу къэскIухьыну чэнджэщ къызитат. ИкIи мис, зымахуэ, сызэрихабзэу, мафIэгу увыпIэм ипщэкIэ бгъурыт лъагъуэ цIыкIум срокIуэри, гъуэгум и курыкупсэм тету диван къызолъагъу. Зейхэр абы хуэныкъуэжтэкъыми, пщыхьэщхьэм, кIыфI ящIри, къыщIагъэувыкIат. Сэ си нэгу къыщIэзгъэхьащ а диваным и Iуэхур къызэрекIуэкIар: ар иджыблагъэ лIа анэшхуэм щIэину къыщIэнагъэнкIи мэхъу. Ар къызыхуэна ныбжьыщIэхэм я фэтэрыр иджырей унэлъащIэкIэ узэдауэ къыщIэкIынщ. Аращи, лIым: 

-              Мы диваныжьым сыт етщIэнур? - жи. 

-              Ар ди унэлъащIэхэм яхэзэгъэнукъым, ди унэм къекIунукъым. ИтIанэ абы гъуанэдэс хищIагъэнкIэри мэхъу. ХыфIэддзэнщи, зэфIэкIащ! 

Арати,  уэрамым къыдагъэувыкIащ. Мис абы ещхьущ цIыхур Тхьэ псэум зэрыхущытри. Тхьэр ди псэукIэм къезэгъыркъым, ди иджырей дунейм къыхэзагъэркъым Ар. Сыт-тIэ Тхьэм етщIэнур? АтIэ а «диваныжьыр» члисэм щIэдгъэувэнщ! Зыми зэран хуэхъунукъым, арыншами а члисэр тхьэмахуэ зэхуаку псокIэрэ IункIыбзэ етауэ щытщ.

         Ауэ, си ныбжьэгъухэ, Тхьэр диваныжькъым. Ар зэхэщIыкIыгъуэу пIэрэ фи дежкIэ? Тхьэ псэур жьы хъуа унэлъащIэкъым, моднэжкъым жытIэу дыщыхуей дакъикъэм ди гъащIэм къыхэддзын хуэдэу. ФщIэуэ пIэрэ Тхьэр зищIысыр? Члисэм и зэрани хэлъу къыщIэкIынущ ди лъэхъэнэм Тхьэр проблемэ зэрыхъуам. Ди щIыфэр тхытхын хуейщ «Тхьэ» псалъэр къыщытпсэлъ къудейкIи! ИтIани щхьэпсыншагъэ хыдолъхьэ Тхьэм и Iуэхум, «Хэтуи ирехъу, сэрмыра закъуэмэ!» жыдоIэри!

         Иджы нэхъ куууэ къыщIэзгъэлъэну сыхуейщ. Иджыпсту дэни щыжаIэ ди КъуэкIыпIэр зэрыщыту ракым, е нэгъуэщI Iэпкълъэпкъ уз зэмылIэужьыгъуэхэм я мызакъуэу, акъыл узхэми зэрызэщIащтар. ИкIи, фщIэрэ, хуабжьу шынагъуэщ, дэ ди акъылкIэ дызэрымыузыншэр. ФщIэуэ пIэрэ зи акъыл зэкIуэкIахэм я бжыгъэм укъигъэгузавэу зэрыхэхъуэр? ЦIыху акъылыфIэхэр йогупсыс ныбжьышхуэ зиIэ мы культурнэ дунейм пкърыт узыфэр зыхуэдэм. Швейцарием щыщ дохутыр гуэрым  абы теухуауэ губзыгъагъэ жиIащ: «Ди иджырей дунейм къеузыр тхьэншагъэрщ», - жиIэри. Гу лъывэзгъэтэну сыхуейт мыбы: ди лIэщIыгъуэм икухэм къэсыху, Тхьэр

Iуэхум къыхабжэу къекIуэкIащ. Абы и щыхьэтщ члисэшхуэхэр. Ауэ итIанэ Тхьэр зыкIэрагъэкIыну я ужь ихьащ. Абы и Iэмалу къагъэсэбэп техникэр тхьэ папщIэу зэрагъэувыр. Еджагъэшхуэхэм я Iэпэхэм лэрыгъу трищIащ, Тхьэр щымыIэу ди фIэщ зэращIыным тетхыхьурэ. ЦIыху гупышхуэхэр зэщIогъуагъуэ: «Диныр цIыхубэм дежкIэ афиянщ!» - жаIэри. Уеблэмэ сабий цIыкIу нэгъунэ щIэупщIэну хуожьэ: «Дэнэ а Тхьэр здэщыIэнкIэ хъунур? Сэ абы иджыри сытеплъакъым, ауэ щыхъукIэ Ар щымыIэу аращ!» Ар жеIэри, и Iэпэр жьэделъхьэж, адэкIи абы щIэфыну. Тхьэр щымыIэу къыщIрагъэдзын щхьэкIэ ямылэжьу сыт къэнэжа! ИтIани, иджыри къыздэсым, зыри яхуещIакъым! Иджырей автоматикэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа профессор цIэрыIуэ Макс Планк, лIэн гъунэгъу хъуауэ, брошюрэ къыдигъэкIауэ щытащ «Динымрэ къэзыухъуреихь дунейм епха щIэныгъэмрэ» и цIэу. Абы мыр щетх: «Иджырей зэманым дэ, дуней зэхэлъыкIэм и къэхутакIуэхэм, ди дежкIэ, щIэныгъэу щыIэм я лъабжьэу щытыр КъэгъэщIакIуэ псэурщ». Флъагъуркъэ, Тхьэм дыкъыIэпыкIыфакъым дэ!

                          Куэд мыщIауэ бгырыс къалэ цIыкIу гуэрым уаз сыкъыщеджэрт.

Пщыхьэщхьэм члисэм сыкъыщIэкIыжауэ, абдеж гъунэгъуу щызэхэту гу лъыстащ илъэс тIощI зы ныбжьын щIалэ гуп. СеупщIащ абыхэм члисэм щIыщIэмыхьэмкIэ. Жэуапу зыгуэр мыгурыIуэгъуэу къагъумэтIымащ. 

-              Ар жэуап хъуркъым, - жызоIэ сэ. - Уэ сыноупщI, - зыхузогъазэ абыхэм ящыщ зым, - Тхьэр псэу хьэмэрэ мыпсэу?

Абы жэуап къызитащ: 

-              СщIэркъым.

-              КъэдаIуэт, ар узижэгъуэнщ! - хуэздакъы сэ ар. - Ар псэумэ, уэ Абы уIэщIэлъын хуейуэ аращ, ауэ мыпсэууэ къэплъытэмэ, кхъыIэ, члисэм ущыщу зумыбжыж. 

НэгъуэщI гуэрми зыхуэзгъэзащ: 

-              Тхьэр псэу? 

-              НтIэ, сэ Ар фIэщ мэхъу! 

-              НтIэ къызжеIэт, Абы и жыIэм утет? 

-              Хьэуэ! 

Мис апхуэдэу сахэпсэлъыхьащ щIалэхэм. Абыхэм зыри къахэкIакъым  Тхьэр имыдэу къэувыну тегушхуэн. Ауэ апхуэдэуи абыхэм зыри яхэттэкъым и фIэщу Тхьэм ейуэ щытыну хуей. ДэнэкIи аращ!

                          Унагъуэхэм сихьэу сащыхэпсэлъыхькIэ, цIыхухъухэм жаIэ хабзэщ: 

-              Тхьэр си фIэщ мэхъу, ауэ члисэ кIуэныр къыспумыбыд закъуэ.

КъывгурыIуэрэ, Тхьэр ядэу жаIэ щхьэкIэ, ахэр Абы IэщIэлъкъым!       Тхьэ Iуэхур цIыхухэм я дежкIэ зэIумыбзу къонэ. Абы ехьэлIа упщIэ жэуапыншэ къомыр зэхохьэжри, цIыхур зыукI акъыл узыр абы къыхокI. Тхьэм дызэрыхущытыр зэрызэхэдгъэкIын лIыгъэ къызэрытлъыкъуэмыкIым дытокIуадэ дэ! Члисэм цIыхубзи 10 щIэсмэ, абы зы цIыхухъу яхэсынкIи хъунщ. Дэнэ-тIэ цIыхухъухэр здэщыIэр? Сэ шэсыпIэ сохьэ ахэр, жыхьэнмэм ихуэн и пэ, я акъылкIэ зэрыкIуэдынумкIэ, сыту жыпIэмэ абыхэм Тхьэм ейуэ зэрыщытын лIыгъэ яхэлъкъым, ауэ икIи Абы къыIэщIэкIыфыркъым.     Апхуэдэ щытыкIэ дитщ дэ, чыристанхэр, псэр дэзыхьэх хъыбар щыIэ пэтрэ - мис апхуэдизу къытфIэмыIуэху Тхьэр, Абырэ дэрэ ди зэхуаку дэт блыныр къикъутэу, Хьисэ хэлъу дэ къызэрытхуехам теухуауэ. Тхьэм щыщ  КъегъэлакIуэр дунейм къэкIуащ. Ауэ Ар къызэрыкIуэ къудейм щиухыркъым. Ар дэр щхьэкIэ жорым кIэрылIыхьащ! Сытыт Тхьэм дэ къытхуимыщIэу къэнэжар, жорым кIэрылIыхьыным нэмыщI?! ИтIанэ Ар уардэу лIахэм къахэтэджыкIыжри абыкIэ лIэныгъэм иужьрей удыныр иридзыжащ, икIи мыкIуэдыжын гъащIэм кIуэ гъуэгу пхишащ. ИтIани дэ мыр жыдоIэри дызэхэтщ: «А-а, аращ! Ар хъарзынэ гуэрщ, сэри зэгуэр сынедэIуэнщ а хъыбарым, ауэ ар дапщэщи ирехъу, мыиджыпсту закъуэмэ!» Апхуэдэ гупсысэкIэ зэблэшар щызэхэпхкIэ, укъызэмыIыхьэн плъэкIыркъым, пхуэхьыркъым апхуэдэр!

         Дин пашэу лэжьэн щыщIэздзагъащIэм, ди къалэм лэжьакIуэ гуэр дэтт, Хьисэ теухуауэ сепсэлъэну и ужь сихьамэ, къызэдауэу икIи къысщыдыхьэшхыу. Абы сеупщIат: 

-              Зэгуэр узэрылIэн уи гугъэр дауэрэ? - жысIэри. 

-              Фэ, дин пашэхэм, лIэныгъэмкIэ дывгъэшынэну фыхэтщ дапщэщи! Хэт пхуэгъэшынэми, сэ абы сащыщкъым! - къызжиIэжащ. 

Ар сэ жысIэм дапщэщи къыпэувырт. Арати, ар илъэс плIыщIи иримыкъуауэ малIэ. Зэгуэр, жэщу, абы и фызыр къызэджащ. Абы и деж сыжауэ жызоIэ: 

-              Хьисэ иужьрей дыдэу къыщоджэж сыхьэтыр къэсащ! 

ЩIагъуэтэкъым абы и Iуэхур. Тхьэ елъэIуну хуейт, ауэ хузэфIэкIынутэкъым. Сэ абы Библием щыщ сатырхэр жесIэрт, фIым хуэзущийуэ, ауэ абы ар къыгурыIуэжыртэкъым. Тхьэр Iумпэм ищIурэ абы, жиIэу щытат: 

-              Хэтуи ирехъу, сэрмыра закъуэмэ! 

Иджы Езы Тхьэм къидатэкъым ар. Мис апхуэдэу хьэзабыр телъу лIащ, Тхьэм емыкIужауэ.

         СыныволъэIу  мы псэр дэзыхьэх хъыбарым фи фIэщу фыщIэдэIун щIэвдзэну: «АпхуэдизкIэ Тхьэм дунейм и цIыхухэр фIыуэ илъэгъуати, Езым и Къуэ закъуэр итащ, Тхьэм и КъуэмкIэ фIэщхъуныгъэ зиIэ дэтхэнэри мыкIуэду къелын икIи мыкIуэдыжын гъащIэ иIэ хъун щхьэкIэ!» Ауэ Хьисэ нэхъыбэж елэжь. Абы хуабжьу узыгъэпIейтей псалъэ жеIэ: «Мис, бжэм сыIуту сынытоуIуэ. Зыгуэрым си макъыр зэхихрэ, бжэр къызэIуихмэ, сыщIыхьэнурэ сэ абы сыдэшхэнущ, езыри сэ къыздэшхэнущ». Чыристан зэмылIэужьыгъуэ куэд щыIэщ, си ныбжьэгъухэ: щыIэщ члисэм иратын хуей хьэкъыр иратмэ, абыкIэ я къалэныр зэфIагъэкIауэ зылъытэ чыристанхэр. Хуабжьу гуапэщ, Iейуэ зэшыгъуэ пэтми. Хъуромэ махуэшхуэм деж фIэкIа члисэм емыкIуалIэ чыристанхэми уарохьэлIэ. Фэ Хъуромэ чыристан цIыкIухэри! ЩыIэщ чыристанхэр, я фызхэр члисэм екIуэлIэну хуит ящIу, ауэ езыхэм абы я лъапэ щIамышиеу. Мыр жызыIэ чыристанхэми уахуозэ:»Сэ саумэхъащ». Хъарзынэ гуэрщ! Ауэ абыкIэ ирикъуркъым! Зиусхьэн псэум мы и псалъэхэр зэхэзыха чыристанхэри щыIэщ: «Сэ бжэм сыIуту сынытоуIуэ. Зыгуэрым си макъыр зэхихрэ, бжэр къызэIуихмэ, сыщIыхьэнурэ сэ абы сыдэшхэнущ, езыри сэ къыздэшхэнущ».  Ауэ абы и жэуапу «Хэтуи Iурех, сэрмыра закъуэмэ!»  жаIэ. Сыту шынагъуэ ар! «Зиусхьэн Хьисэ, чыристаныгъэ мащIэ щысхэлъым деж ар дахэу къысщохъу, ауэ Уэ узытезгъэкIуэпэныр егъэлеящ». «Ар хэти къыщрещI, сэр нэмыщI!» Аращи, «Хэтуи ирехъу, сэрмыра закъуэмэ!» псэлъафэр дэ къыщемызэгъым деж куэдрэ къыщыдогъэсэбэп.

         Чыристаныгъэм фызыIэпишэу щымытамэ, мыбы фыкъекIуэлIэнтэкъым фэ. Ауэ фыкъэдаIуэ мыдэ, Хьисэ и фIагъыр фэ къыщыфщIэфынур Абы и теуIуэ макъыр зэхэфхыу, бжэр хуIуфхыу, Ар фи  гъащIэм къыхыхьа нэужьщ.

 

3. Зы закъуэ щыIэщ, «Хэтуи ирехъу, сэрмыра закъуэмэ!» жиIэну хуитыныгъэ нэс иIэу, ауэ абы ар жиIэркъым

 

         А зы закъуэр Езы Зиусхьэн Хьисэщ. ИпэжыпIэкIэ, абы хуитыныгъэ нэс иIэщ «Хэтуи ирехъу, сэрмыра закъуэмэ!» жиIэну, ауэ Абы жиIэркъым ар.

Тхьэм и шыкурщ Абы ар зэрыжимыIэр!

         Мыбы ехьэлIауэ зы хъыбар ныфхуэсIуэтэну хуит сыфщI. Данием щыщ тхакIуэ Якобсен зы тхыдэ гъэщIэгъуэн иIэщ: «Бергамо къалэм къыщыхъуа емынэр» жиIэу. Бергамо хъужыр Италием щыщ къалэ цIыкIущ, Равеннэ и  гъунэгъуу джабэм кIэрысу. Абы къурш лъагъуэ бгъузэм ухуешэ. Якобсен зэритхымкIэ, а къалэ цIыкIум лIэщIыгъуэм икухэм емынэ уз къахыхьат. Хьэлэчт! Жэщми махуэми хьэдэщIэлъхьэхэм я тхьэгъуш макъыр къэIурт. ЦIыхухэр Тхьэм еджэрт. Ахэр дэIэпыкъуэгъу щIэлъэIурт, ауэ я лъэIум къикIIартэкъым, емынэ узым зиубгъу зэпытт. Апхуэдэу екIуэкIыурэ, цIыхухэм зыри я фIэщ мыхъуж, зыри къафIэмыIуэхуж хъуащ. Абыхэм иджы

«Тхьэ щыIэкъым!» жаIэ. ЕфапIэхэм фадэ зэрыт фэндырэшхуэхэр къыщIагъэжри, ефэн яублэ. ЗамыщIэжу йофэри, цIапIагъэ ялэжьу щIадзэ. «ДокIуэдри, докIуэд!» жыхуаIэу оргием хэтщ. Апхуэдэу зы махуэм адрейр кIэлъыкIуэу йокIуэкI. Зыми зыри къридзэжыркъым. Зэзэмызэ, къафэу здытетым, зыгуэр, и нэкIур уфIыцIауэ, яходжэлыкI. И гугъу ямыщIу а зэрыщылъу къагъанэ апхуэдэхэр. Оргием адэкIэ пащэ: «Дывгъашхэ, девгъафэ, сыту жыпIэмэ пшэдей дылIэнущ», - жаIэурэ. Зэгуэр ахэр зыгуэрым къигъэгузэващ. Абыхэм я тхьэкIумэм къиIуащ гупу жаIэ уэрэдыр. Къалэ куэбжэм Iухьэри, абыхэм къалъэгьуащ кIапсэлъэрышэу бгы лъагъуэмкIэ кърикIуэ, зи гуэныхьым хущIегъуэжауэ литание уэрэд жызыIэ цIыхухэр: «Зиусхьэн, гущIэгьу къытхуэщI! Зиусхьэн, гущIэгьу къытхуэщI!»  Япэ иту зы монах щIалэ къакIуэрт, пхъэм къыхэщIыкIа жор фIыцIэ иIыгьыу.         А цIыху зэкIэлъхьэужь къомыр къалэ куэбжэм къыдыхьащ. Бергамо дэсхэр дыхьэшхыу зэхэтт: «Сыту фыделэ! Мыбы Тхьэ щыIэкъым! Къэвгъанэ а фи литание уэрэд мыщыур! ФынакIуэ фыкъыддефэ, фыкъыддешхэ, пщэдей дылIэнущи, дылIэнущ!» Ауэ япэ ит монах щIалэ пхъэ жорышхуэ зыIыгъыр къэмыувыIэу кIуэрт. Члисэбжэр Iухат. Зыри щIыхьэжырткъым иджы абы. Гуп зэкIэлъхьэужьыр, къапэрыуэ щымыIэу, щIохьэ члисэм. Монах щIалэм жорыр пкъо щIэгъэкъуэным ирегъэщI. Абдеж члисэм къызэрыщIогуэ къалэдэс зэрегъэфа гуп, гъыри дыхьэшхри пхузэхэмыгъэкIыжу зэщIэгъуагъуэу. Фадэм хуабжьу къигъэнэжэгужа, лы зыщэ лIыр, и кIэпхын лъы защIэри Iулъу, къурмэнщIыпIэм бгъэдохьэ, дыщэ фалъэ абдеж телъыр къещтэри къахогуауэ: «Фефэ! Дэ Тхьэ диIэкъым!»  Ауэ, мис, зи фэр фагъуэ монахыр кафедрэм Iуоувэри, Iэуэлъауэр ягъэувыIэну къыхуреджэ цIыхухэр.

Щым мэхъури, модрейм жеIэ: 

- Сэ зыгуэр вжесIэнущ: Тхьэм и Къуэр зи Iэхэр гъущI IунэкIэ зыкIэрыукIа жорым щыкIэрылIыхьым щыгъуи цIыху гупыр къыщIэнакIэу, ауан къащIу, къыщыдыхьэшхыу зэхэтауэ щытащ. Уеблэмэ и бгъуитIымкIэ жорым щыкIэрыукIа хъунщIакIуитIым нэгъунэ дыхьэшхырт. Абы щыгъуэ Тхьэм и Къуэр егупсысащ: «ЛIэныгъэр зыкIи къызыфIэмыIуэху мы цIыхухэм щхьэкIэ сэ сылIэн хуейуэ ара?!  Мы цIыху цIапIэ зыкIи къыпхудэмыхьэхынухэм папщIэ си гъащIэр хэслъэхьэнуи?!» ИкIи Тхьэм и Къуэм жеIэ: «Хэти ирелэжь, сэрмыра закъуэмэ! Сэ ар сщIэнкъым!» Тхьэ къарукIэ Абы гъущI Iунэр пхъэм къыхичащ, жорым къелъыхри зауэлIхэм яIыгъ и щыгъыныр апхуэдиз къару хэлъу къаIэщIичыжати, абыхэм пхъэидзэ иращIу яIыгъ кIэнхэр къаIэщIэлъэлъри Голгофэ бгым къелъэлъэхащ, и щыгъынхэр зыщитIэгъэжри, уафэм дэкIуеижащ, «Хэтуи ирехъу, сармыра закъуэмэ!» - жиIэри.

         Жорри нэщIу къэнащ! Абы къыхэкIкIэ, иджы зы щхьэхуитыныгъи  щыIэнукъым, цIыхухэр гущIэгъуми къелынми пыкIащ. Иджы абыхэм къахуэнэжыр лIэныгъэмрэ жыхьэнмэмрэщ!» Ар къахыжиIыхьащ монах щIалэм. Зыри мыдымыжу щым зэрыгъэхъуащ. Лы зыщэ лIыр къурмэнщIыпIэм къызэрепщыхыжрэ куэд щIат, кафедрэ лъабжьэм щIэтт ар иджыпсту, фалъэри къыIэщIэхуат абы. »Къегъэлыныгъэ щыIэжкъым, гущIэгъуи щыIэжкъым!» - джэрпэджэжым хуэдэу къыщыджэрт абы и гупсысэхэм ар. Абдеж зэуэ зи акъылым икIа лIым лъэбакъуищ япэкIэ еч, и

Iэхэр ешийри, и макъыр щичу мэкIий: «Ей, уэращ зыжесIэр! ФIэдзэж

КъегъэлакIуэр жорым! ФIэдзэж КъегъэлакIуэр жорым аргуэру!»

         Монах щIалэм, си ныбжьэгъухэ, КъегъэлакIуэм и хъыбарыр мытэмэму иIуэтащ. Ауэ уигу нэхъ хыхьэу мыбы хэлъыр Тхьэм и Къуэм «Хэтуи ирехъу, сэрмыра закъуэмэ» зэрыжимыIарщ. Абы иджыри къыздэсым жорым хьэзаб щегъэв, цIыхухэм мыр зэрыжаIэм щхьэкIэ къимыгъанэу: «Лэжьыгъэр, нэгузегъэужьыныр, мы дунейм и нэгъуэщI IэфIагъэхэр дэ ди дежкIэ нэхъыщхьэщ ди псэ мыкIуэду къелыным нэхърэ».

А КъегъэлъакIуэм, иджыпстуи дыкъезыгъэлыну хэтым, щхьэусыгъуэ нэс иIэт: «Хэтуи ирехъу, сэрмыра закъуэмэ! ФызыфIэфI дыдэр влэжь, си Iуэху фхызох!» жиIэну. Сэ сы-Хьисэу щытамэ, дуней псор, хуеймэ, ирекIуэд, жысIэнт. Ауэ Хьисэ, Тхьэм и Къуэм, жиIэркъым: «Хэтуи ирехъу, сэр мыхъуамэ! Хэтуи щрет, сэрмыра закъуэмэ!» жиIэу. Абы дэ дыкъелъыхъуэ! Дапхуэдизрэ фыкъызэрилъыхъуэн хуейр иджыри? ИкIэм-икIэжым, дапщэщ гу щылъыфытэнур Хьисэ фэ Езым ей фищIыну зэрыфIэфIым? ИкIэмикIэжым, фи нэхэр къэплъэжу дапщэщ щыжыфIэфынур: «Си КъегъэлакIуэ! Си  ЩхьэшэхужакIуэ!» - жыфIэу! Иужьрей пунктым кIэщ дыдэу сыкъытеувыIэнщ.

 

 

4. «Сэ фэ сывимыгъусэмэ, зыри фщIэн флъэкIынукъым»        

 

         Гу лъыфтэт «Хэтуи ирехъу, сэрмыра закъуэмэ!» щыжытIэкIэ ар хэIэтыкIауэ къызэрытпсэлъым. Хьисэ зэ къыжьэдэкIат «Сэ сывимыгъусэмэ» псалъэри, хэIэтыкIа лъэпкъ хэлъакъым. АдэкIэ къакIуэр мыращ: «Сэ сывимыгъусэмэ, зыри фщIэн флъэкIынукъым». Фэ шэч къытевмыхьэу фи фIэщ фщIы мыр зэрыпэжыр, икIи Ар фи мыгъусэу влэжьу хъуам, хьэдрыхэм еплъытмэ, зыри къызэримыкIыр. 

         Зэгуэр сэ  сыкIэлъыплъащ уэрамым щIалэ цIыкIу зыбжанэ зэрыщызэзауэм. Абыхэм зы цIыкIу дыди яхэтт, зэрымыщIэкIэ яхэхуагъэну. СыкIуэу зэIэпысшыжын жысIэу сыздэгупсысэм, къэхъуаращ: я нэхъ цIыкIур зэрызехьэм къахэпщыжащ. И нэхэм нэпс къыщIэжырт, и пэри къыпыжырт, нэкIэпсыжэ хъуат, зы псалъэу жыпIэмэ, зэзауэхэм лъэбакъуитху хуэдизкIэ къабгъэдэжыжауэ, ар, зэ зэплъэкIыжри, яхэкIиящ: «Мыдэ фымыпIащIэ, си къуэш нэхъыжьым фыжесIэжынщ!» Сэ гу лъыстащ мыдрейхэр зэуэ мамыр зэрызэрыгъэхъужам. Абы къуэш нэхъыжь иIэт, и жагъуэ къызэращIар жриIэжмэ, къыщхьэщыжыну. Абы щыгъуэ сызэгупсысысаращ: «Сыту фIыт, си щIалэ цIыкIу, уэ къуэш нэхъыжь узэриIэр!» Сэ гуфIэгъуэм сызэщIищтащ, сэри къыздэIэпыкъуу, Хьисэ къуэш нэхъыжьу сызэриIэр сигу къэкIри! Сыту фIыщэ а къуэш нэхъыжьым лIыгъэшхуэ хэлъу дызэрихъумэр, уеблэмэ Абы «Сэ сыфимыгъусэмэ, зыри фщIэн флъэкIынукъым!» зэрыжиIар!                            Хавергал жыхуаIэ усакIуэм и зы уэрэд мыпхуэдэу къыщIедзэ: «Ди Тхьэ, гъащIэр сIых: ар/ зэрыщыту Уэращ зытеухуар./ Махуэхэри сIых, сыхьэт къэсыхункIэ/ зэхрыуех Уэ щытхъум и макъыр!»

                          Сэ сыхуейт апхуэдизу куэд къыфхуэзыщIа фи КъегъэлакIуэм жефIэну:

«Си Зиусхьэн, Хьисэ, сэри афIэкIа Уэрыншэу дяпэкIэ зыри сщIэну сыхуейкъым!»


ФIЭЩХЪУНЫГЪЭМ ЕХЬЫЛIА IУЭХУГЪУЭХЭР ЗЭIУБЗУ ЩЫТЫНКIЭ ХЪУНУ?

 

         Тегушхуауэ жыпIэ хъунущ дин Iуэхугъуэхэр зэIубзу щымыту. «Дин» жыпIэмэ - ар Тхьэм и лъыхъуэныгъэ мыухыжщ, ауэ щыхъукIи гузавэ, таучэлмыщIыгъэ зэфэзэщщ. ХъыбарыфIыр къапщтэмэ, абы и Iуэхур нэгъуэщIщ: Тхьэм дэ дыкъилъыхъуэу аращ. Абы къыхэкIкIи упщIэр мыпхуэдэу дгъэувмэ, нэхъыфIщ: «Чыристаныгъэм хэлъу пIэрэ дыкъызэрелынумкIэ шэч зыхэмылъ фIэщхъуныгъэ?»

 

 1. Тхьэм зэхэмыщIыкIыгъуэу дыхущытыну  дытогушхуэ           

                   

         Япэрауэ, жыIэн хуейщ дэ, иджырей цIыхухэр, хуабжьу дызэрыдыхьэшхэныр. Я нэхъ цIыху зэпIэзэрытыр, зыщIыпIэ деж тIэкIу къыхэузыкIамэ, занщIэу дохутырым деж мажэ: «Зиусхьэн дохутыр, хуабжьу къызоуз. ЗищIысыр сыту пIэрэ?» Дэ зэхэхауэ къэтщIэну дыхуейщ ди лажьэр. Е нэгъуэщI зы щапхьэ: унагъуэм къелъыхъуэ унэзехьэ. ИкIи, мис, къыкъуокI апхуэдэ. Унэгуащэм абы ирегъэлъагъу хухаха пэшыр, абы псы щIыIи псы хуаби къыщож, телевизор щIэтщ, адэкIэ къыжреIэ тхьэмахуэ зэхуакум зы махуэ зыгъэпсэхугъуэ зэриIэнур. 

-              А псори  хъарзынэщ, - жи хьыджэбзым, - ауэ улахуэу къэсхьынур дапщэми къэсщIэну сыхуейт. 

Унэгуащэм жэуапу къритыжыращ: 

-              АбыкIэ дызэгурыIуэнщ, япэщIыкIэ сэ сыхуейт уи къалэнхэм узэрыпэлъэщым сеплъыну. 

-              Хьэуэ, хьэуэ, - идэркъым хъыджэбзым, - абыкIэ сыарэзыкъым, занщIэу лэжьапщIэу къызэфтынур къызжеIэ. 

Захуэу пIэрэ хъыджэбзыр? Дауи, захуэщ! Дэ лэжьапIэ дыщыувкIэ, ди дежкIэ псом нэхърэ нэхъыщхьэр улахуэрщ. Ахъшэ Iуэху хъуамэ, дэ мыгурыIуэгъуэу зыри къэдгъэнэну тфIэфIкъым. Аращ, сыт хуэдэ Iуэхууи щрети, дэ дыхуейщ ипэжыпIэкIэ Iуэхур зытетыр къэтщIэну. Ауэ я нэхъ Iуэхугъуэ нэхъыщхьэмкIэ, щхьэтечауэ жыпIэмэ, Тхьэм дызэрыхущытымкIэ, гъэщIэгъуэныращи, псори зэIумыбзу къанэмэ, нэхъ къатщтэ си гугъэщ. 

Илъэс куэд япэкIэ сэ Аугсбург къалэм зэIущIэ щезгъэкIуэкIырт - жармыкIэ щызэхэт хабзэ утыкум щагъэува шэтырым. ЗэIущIэм и къызэгъэпэщакIуэхэм идее телъыджэ ягу къэкIат. Щэбэт пщыхьэщхьэхэм деж ресторану хъуам цIыхухэр хуабжьу нэжэгужэу зэрыщызэхэсым къыхэкIыу, абыхэм мурад ящIащ зэIущIэр щэбэт жэщым, сыхьэт 12-м, зэхашэну. Япэ иту абыкIэ зыми хъыбар ирагъэщIакъым, сыту жыпIэмэ итIанэ абы къекIуэлIэнут мы зэкIэ абы кърихьэлIэну зыхуэмей чыристан нэс ар зыфIэгъэщIэгъуэнхэр. Си ныбжьэгъухэм я маршынэхэмкIэ зэхуашэсащ жэщым къэзыкIухьын зыфIэфI хьэулеякIуэхэр, сыхьэт 12-хэм зэхуащIыж ресторанхэм къыщIэкIыжахэр, я унэ ежьэжа Iэнэзехьэхэр, бархэм щIэса цIыхубзхэр. Маршынэхэм увыIэгъуэ ямыIэу цIыхухэр шэтырым кърашалIэрт. Сыхьэт 12 хъууэ сэ лъагапIэм сыкъыщытеувам, си пащхьэ гупышхуэ къитт, абыхэм яхуэдэ зэи нэхъапэм сримыхьэлIауэ. Хъарзынэ гуэрщ! Куэдыр фадэм къигъэжэнат. Апхуэдэ зы си пащхьэ дыдэм къист, лIы гъумыщIэ цIыкIу гуэр, тутын ныкъуэфыр Iурыгъэсауи, абы и пыIэр щхьэрихыну игу къэкIыххатэкъым. «Псори сызэрыхуейм хуэдэу хъуащ!» - сигукIэ жысIэри, псалъэр къыхэздзащ. Япэу «Тхьэ» псалъэр къыщызжьэдэкIым, лIы гъумыщIэ цIыкIур пыIэ щхьэрыгъыу щысым:- А зи гугъу пщIыр щыIэкъым!» - жиIэри къыхэкIиикIащ. Псори зэщIэдыхьэшхащ. Сэ абы зыхуезгъэзыхри, сеупщIащ: 

-              Шэч къытепхьэркъэ Тхьэр зэрыщымыIэм? 

Ар и щхьэпхэтIыгум апхуэдизу щIэтIэхъуати, и пыIэр и натIэмкIэ къекIуэтэхащ, тутын Iурысыр и зы жьэIуфакIэм иригъэкIщ, адреймкIэ иригъэкIуэтэкIри, икIэм-икIэжым, жиIащ:

-              Абы и пэжыпIэр зыщIэ щыIэкъым. 

Абы щыгъуэ гъумпIырэм и нэгум сыщIэплъэурэ сыщыдыхьэшхри, жесIащ: 

-              Хьэуэ, сэ сыщыгъуазэщ абы и пэжыпIэм! 

-              Ар дауэ, - идакъым абы, - дэнэ уэ Тхьэр щыIэу ипэжыпIэкIэ щыпщIэнкIэ хъунур?

 ИтIанэ къыгурызгъэIуащ сэ ХьисэкIэ Тхьэм и хъыбар пэж зэрысщIэр.

ЗэIущIэм кърихьэлIахэр щым зэрыгъэхъуащ абы и ужькIэ.        Тхьэм хуэгъэзауэ шэчыншагъэ фхэлъу пIэрэ фэ? Сэ соупщI чыристанхэм: 

-              Фышэчыншэ фи гуэныхьхэр къызэрыфхуэгъуамкIэ, фи щIыхуэхэр фигу къызэрамыгъэкIыжынумкIэ, а псоми я пщIэр нэсу тыжа зэрыхъуамкIэ? 

Абы и жэуапу лIо зэхэсхыр? 

-              НтIэ, сыщогугъ апхуэдэу щыту!

         ЖысIэр тэмэму зыгурывгъаIуэ, дыхьэшхьэнщ чыристанхэр, мажусий гуэрхэм ещхьу, Тхьэм апхуэдэу мыгурыIуэгъуэу, таучэлмыщIу зэрыхущытыр!

Иджыпсту къалэм сыдыхьэу дэтхэнэ сызыхуэзэми: 

-              Тхьэр зэрыщыIэр уи фIэщ хъурэ? жысIэу сеупщIмэ, жэуапу къызитыжынт: 

-              НтIэ, хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, Ар щыIэщ! 

АдэкIэ пысщэу: 

-              Уэ Абы и IэмыщIэ уилъ? - жысIамэ: 

-              СщIэркъым!» - къызитыжынт жэуап. 

Дин Iуэху хъуами, зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыж цIыхум апхуэдэу мыгурыIуэгъуэу, зэIумыбзу къигъэнэнкIэ щхьэ хъурэ!

         Си ныбжьэгъу гуэрым иджыблагъэ мыр игъэвыну къыхуихуащ. Ар студентщ, икIи я зыгъэпсэхугъуэм щыгъуэ ухуэныгъэм щылажьэри, ахъшэ тIэкIу зэригъэпэщат. Абы и лэжьэгъухэм къащIащ а щIалэр фIэщхъуныгъэ зиIэ щIалэгъуалэм я лэжьыгъэм жыджэру зэрыхэтыр. КъыщIэнакIэу хуежьащ:

-              Ей! Уэри дин пашэ Буш и щIалэгъуалэм уащыщ? - 

-              НтIэ!

-              Тхьэмахуэ махуэхэми члисэм укIуэрэ?»

-              СокIуэ! 

-              Тхьэмахуэ къэси?

-              АтIэ, тхьэмахуэ къэмынэу! 

-              Тхьэмахуэ къэмынэу, жи! Уэ, лIо, уделэу ара? 

-              Хьэуэ! Абы нэмыщI, Библием хухэха сыхьэтхэми сокIуалIэ!  

-              Аращ, пэж дыдэу, уэ уи акъыл зэтесыжкъым!

Арати, лъэныкъуэ псомкIи щIэнэкIалъэхэр къраутIыпщу щIадзащ: «Дин пашэхэм цIыхухэр делэ ящI!» «Чыристаныгъэм илъэс 2000 и ныбжь пэтми, хузэфIэкIа щыIэкъым!» «Библиер зэрыщыту делагъэщ!» КIэщIу жыпIэмэ, щIалэщIэм кърамыпэс къагъэнакъым. Ауэ ар, зэрыжаIэу, «пылым хуэдэу фэ Iувти», къэмыгубжьу, зэпIэзэрыту жаIэнур жригъэIащ. Мо щIалэхэр ешу щыувыIэжым, езым яжриIащ итIанэ: 

-              Чыристаныгъэм апхуэдэу фыщыхущыткIэ, хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, фэ фщыщу зыри члисэм хэткъым. 

ИхъуреягъкIэ щым хъуащ. Зи ныбжь хэкIуэта лIым къыхуимыдэу жиIащ: 

-              Сыт абыкIэ жыпIэну узыхуейр? Сэри си фIэщ мэхъу Зиусхьэн Тхьэр! Уэ уи гугъэ уэр фIэкIа чыристан щымыIэу? Сэри сычыристанщ! Сэри си фIэщ мэхъу Тхьэр!

 Абдеж псори къызэщIэващ: 

-              Дэнэ апхуэдэ хьэл щызыхэплъхьар, адрейхэм нэхърэ унэхъыфIу зыкъэплъытэжу? Дэри дычыристанщ! Дэри ди фIэщ мэхъу Зиусхьэн Тхьэр! 

Абыхэм я зыщIыкIэм напIэзыпIэм зихъуэжат. Зэдежьууэ кIийхэрт: 

-              Дэри ди фIэщ мэхъу Тхьэр! Дэри дычыристанщ ! 

Мохэр щызэтеувыIэжым, си ныбжьэгъур абыхэм еупщIащ: 

-              АтIэ, абы щыгъуэ сэ щхьэ фыкъысщыдыхьэшхрэ?  

-              Уэ дыбгъэделэу аращ! - къратащ жэуап, - уэ къопсэлъыфын щыIэкъым!

         КъывгурыIуа? Зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыж ухуакIуэхэм, лэжьыгъэм хуабжьу зыщагъэпщIантIэу, итIанэ къафIэмыIуэхуу аркъэ птулъкIэ зыбжанэ ефэфхэм, япэщIыкIэ Iэуэлъауэ ин щIэту чыристаныгъэр ауан ящI, ауэ итIанэ абыхэм зыкъащIэж: «догуэт-догуэт, дэ езыр дычыристанкъэ-тIэ!»

УкъигъэуIэбжьыркъэ цIыхухэр Тхьэм апхуэдэу зэIумыбзу зэрыхущытым? Дэ зэм мажусий дохъу, зэми чыристану дыкъыщIедзыж. Сызахуэкъэ сэ? Сэ шэч къытесхьэркъым фэ фи нэхъыбапIэри апхуэдэу зэхэмыхуауэ, зэIумыбзу зэрыпсэум!

 

2. Библиер топсэлъыхь шэчыншагъэ IупщIым

 

                          Фэ вгъэщIагъуэу фыкъызэупщIыныр хэлъщ: 

-              Дин пашэ Буш, чыристан динымрэ шэчыншагъэмрэ зэхуаIуэху щыIэ, а тIур зыгуэркIэ зэкIуалIэрэ? Чыристан фIэщхъуныгъэр зытегъэщIар абы пыухыкIауэ зыри хэмылъу псори фIэщхъуныгъэкIэ къэпщтэн зэрыхуейр аракъэ? 

Зымахуэ сигу къагъэкIыжащ си гъащIэм къриубыдэу Iэджэрэ зэхэсха мы псалъэхэр: 

-              ТIур тIэу къапщтэмэ, плIы зэрыхъур дэ шэчыншэу дощIэ, ауэ чыристаныгъэм ехьэлIауэ зыри апхуэдэу зыгуэрым теубыдауэ къыпхуэщIэнукъым, сыту жыпIэмэ абы псори зытегъэщIар  фIэщхъуныгъэр аращи. 

Аращи, дэ къызэрытфIэщIымкIэ, чыристаныгъэм жиIэм Iуэхур щынэскIэ, ди акъылыр пхъуантэм дэтлъхьэжу, дымыгупсысэу, ахэр фIэщхъуныгъэ къудейкIэ къэтщтэн хуейуэ аращ, абыхэм дызыхуашэнкIэ хъунур дэркIэ мыгурыIуэгъуэми. Аращ куэдыр Iуэхум зэрегупсысыр. Языныкъуэхэм деж мыри къызжаIэ: фэ, езы чыристан дыдэхэр, фызэтехуэжыркъым жыфIэмкIэ: фэ къыфхэтщ католикхэри, ХъыбарыфIым тет чыристанхэри, н. къ. ХъыбарыфIым тетхэр къащти, ахэри лютерану, реформисту, нэгъуэщI гуэрхэу гуэшыжащ. Хэт абыхэм нэхъ захуэр? КъысфIощI езы чыристан дыдэхэми зэрыт диным нэхърэ нэхъ зэIумыбз, мыгурыIуэгъуэ щымыIэу къалъытэжу. Ауэ ар щыуагъэшхуэщ.

Флъагъуркъэ, чыристаныгъэр ипэжыпIэкIэ зищIысыр зэрызэхэбгъэкIыфынур ХъыбарыфI закъуэмкIэщ. А тхылъым и зы дэтхэнэ сатырри гъэнщIащ шэчыншагъэ IупщIкIэ! Ар пцIыуэ къыщIевгъэдзыфыт! Абы къыхэкIыуи дыхьэшхэнщ чыристанхэр апхуэдэ зэIумыбзыгъэм щыхэпсэукIым деж. Ауэ мыбдеж Iуэхур здэщыIэр чыристаныгъэр аракъым. ХъыбарыфIыр зэрыщыту гъэнщIащ шэчыншагъэ IупщIкIэ. Ар кIэщIу къывгурызгъэIуэнщ.  

ХъыбарыфIым шэч лъэпкъ къытримыхьэу жеIэ Тхьэр зэрыпсэур! Псэущхьэ егъэлея гуэркъым, нэкъыфIэщI гуэркъым жыхуиIэр, атIэ Тхьэр аращ, Хьисэ Мэссихь и адэрщ - аращ псэур! Иджы дэ ар ипэжыпIэкIэ дощIэ.

Абы Хьисэ къыпкърыкIыу зыкъригъэлъэгъуащ. Библиер фыздыхуей дыдэм деж къыщызэгуэфхи, фэ флъагъунщ абы диным ехьэлIа проблемэ гуэр зэрыщызэпкъримыхыр, ауэ Тхьэр псэууэ зэрыщытым зэрытепсэлъыхьыр! Ар ХьисэкIэ зыкъригъэлъэгъуащ. Тхьэншэу псэу цIыхури мытэмэму, зэблэшауэ, мыхьэнэншэу псэууэ аращ!

         Абы апхуэдэу шэчыншэу щыжеIэ лъэпкъхэр игъэкIуэдыфыну къару зиIэ икIи абыхэм я хьэкумыр зэгуэр зыщIэну Тхьэм сэ фIы дыдэу сыкъызэрилъагъур - ар хуигъэфащэу жиIэу аракъым, ар и щхьэ течауэ къыщыгъэлъэгъуащ римдэсхэм Апостол Паул яхуитха тхылъым 8:38,39: «Тхьэм къытхуиIэ фIылъагъуныгъэм зыми дыбгъэдишын зэрылъэмыкIынум шэч къытесхьэркъым...(гу лъыфтэт мыбы: шэч къытесхьэркъым) лIэныгъэми, гъащIэми, мелыIычхэми, дин пашэхэми, лъэкIыныгъэ зиIэ жинхэми, иджы щыIэ Iуэхугъуэхэми, къэкIуэну зэманым щыIэну Iуэхугъуэхэми, уафэм сыт ищIыс щыIэми, щIы щIагъым сыт ищIыс щыIэми, а фIылъагъуныгъэм дыбгъэдишын зыми хузэфIэкIынукъым. Тхьэм къигъэщIа псоми ящыщ зыми Тхьэм Хьисэ Мэссихьу ди Зиусхьэным къыдигъэлъагъуну ищIа фIылъагъуныгъэм дыбгъэдишын лъэкIынукъым». Тхьэм и лъагъуныгъэр Хьисэ къыпкърыкIыу  къытхуэкIуащ дэ! Ар хуэдгъэфащэу жытIэу аракъым, ипэжыпIэкIэ дыщыгъуазэщ абы. Тхьэм и лъагъуныгъэр нэрылъагъу зэрыхъур дауэ? Абы ХьисэкIэ фIыуэ дыкъилъэгъуащ. Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэм уэрэду жаIэ: «Щытхъу худоIэт Адэм и лъагъуныгъэ лъапIэу/ цIыхухэм я дунейм Мэссихь къэзыгъэкIуам». Фыщыгъуазэу пIэрэ фэ абы? Зы мащIэкIэ нэхъ мыхъуми, фи нэгу къыфхущIэгъэхьэу пIэрэ фэ ар?

         Библиер ятопсэлъыхь Тхьэм и IэмыщIэ зэрилъым шэч къытезымыхьэж цIыхухэм. 48-нэ Уэрэд лъапIэм Даут щыжеIэ: «Ауэ Тхьэм си псэ ищэхужынщ, хьэдрыхы сыIэщIихынурэ сищтэжынущ». Мыбы жиIэркъым: сыIэщIихыну согугъэ, жиIэу, атIэ шэч лъэпкъ къытримыхьэу: «Тхьэм сыIэщIихынущ,» - жи. Е мыри: «Тхьэм кIыфIыгъэм и тепщэныгъэм дыкъыIэщIихыжри, фIыуэ илъагъу и Къуэм и тепщэныгъэм дыщIигъэуващ». Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэм я щхьэкIэ къахуигъэуващ захъуэжыну, ахэр ХьисэкIэ нэгъуэщI цIыху хъуащи, а Iуэхум щыгъуазэщ! Мыри итщ ХъыбарыфIым: «Дэ дощIэ лIэныгъэм дыIэщIэкIыжу, гъащIэм дызэрыIэщIыхьар». «Дэ дощIэ». Фэри ар фхужыIэну пIэрэ? Е: «Тхьэм дызэрибынхэр дигухэм ящIыгъуу Тхьэм и Псэ ЛъапIэр  щыхьэту тоувэ». ФIэщхъуныгъэ диIэмэ, Тхьэм дырибынщ.

         Библием иту хъуар хуабжьу зэIубзщ, зэхэщIыкIыгъуэщ. Ауэ щыхъукIэ, цIыхухэм зэлъащIысауэ яхэлъ мы псэлъафэр: «ТIур тIэу къапщтэмэ, плIы зэрыхъур шэчыншэу сощIэ, ауэ чыристан Iуэху хъуамэ, и пэжыпIэр зыми къыпхуэщIэркъым, сыту жыпIэмэ ар фIэщхъуныгъэ къудейр аращ зытегъэщIари» жыхуиIэр къыздикIар дэнэу пIэрэ? ТIур тIэу къапщтэмэ, плIы зэрыхъур сэри шэчыншэу сощIэ, ауэ абы нэхърэ нэхъ шэчыншэжу сэ сощIэ Тхьэр зэрыпсэур. Тхьэм зыхуэзыгъэза цIыхухэм жаIэ: «ТIур тIэу къапщтэмэ, плIыщ - абы дыщыгъуазэщ, ауэ абы нэхърэ IэджэкIэ нэхъ ди фIэщ мэхъу дэ Тхьэм и бын дызэрыхъуар!».

         Иджы фэ сынывоупщI: «Иджырей чыристаныгъэм дэнэ деж ущрихьэлIэну апхуэдэ шэчыншагъэ IупщI? Дэнэ деж? Мис абы къегъэлъагъуэ дэ Библием тIэкIу дыкъызэрыбгъэдэкIар икIи абы аргуэру гъунэгъу зыхуэтщIыжын зэрыхуейр. Сэ фыкъыхузоджэ чыристаныгъэм и зы Iыхьэ тIэкIу къызэрыфщтамкIэ фызыхуэарэзыжу фымытIысыжыну! Абы мыхьэнэ лъэпкъ иIэкъым. Мыхьэнэ зиIэр Библием тет чыристаныгъэ къабзэрщ. Апхуэдэ чыристаныгъэм и закъуэщ уасэ нэс зиIэр. Тхьэр зэрыпсэум, Абы сэ фIы дыдэу сыкъызэрилъагъум, икIи сэ Абы сыIэщIэлъыну зэрысхузэфIэкIынум шэч къатезмыхьэмэ - аращ пщIэ зиIэр! Адрей псори пщIэншэщ.

         Иджы а Iуэхугъуэ дыдэм нэгъуэщI зы лъэныкъуэкIэ дыкъыщеплъынщ. Чыристан шэчыншагъэ къызэрыкIыр мы пэжхэр тщIэныращ. Дуней псом ар ямыдэу щытми, Езыр зэрыпсэур икIи Езыр зыхуэдэр, Хьисэ къыпкърыкIыу Тхьэм къызэрыдигъэлъэгъуарщ. Хьисэ жорым кIэрылIыхьауэ, лIахэм къахэтэджыкIыжащ. Архуэдэ гъуэгукIэ Тхьэм цIыхухэр езым къызэрызригъэкIужари чыристан шэчыншагъэм и пэжхэм ящыщ.   Профессор минипщIым зэдежьууэ ныбжьыщIэ гуэрым Хьисэ лIахэм къахэмытэджыкIыжауэ и фIэщ ящIыну иужь итми, абы мыр яжриIэж хъунущ: «ПщIэ зыхуэсщI профессор 10000! Сэ сощIэ си ЩхьэщэхуакIуэр зэрыпсэур! ИкIи дуней псор зэрыщыту къыпэувауэ щытми, фIэщхъуныгъэм мыр игъэувынущ: «Сэ сощIэ, си фIэщ хъур Хэтми!» ИкIи фэ щIэныгъэр тегъэщIапIэ фщIыуэ, жысIэр пцIы зыщIын щыхьэт куэдыкIей къысхуэвгъэлъагъуэми, сэ жэуапу фэстыфынущ: «Сэ нэхъ сощIэ Iуэхур зытетыр!» ИкIи дуней псом шэч къытригъэхьэу дощIри, сэ итIани жысIэнущ: «Сэ абы шэч къытесхьэркъым! Мис апхуэдэу пыухыкIауэ щытщ Библием къытхуигъэлъагъуэ чыристан фIэщхъуныгъэр, си ныбжьэгъухэ».

 

3.  Фэ фхэлъ шэчыншагъэ?

 

Иджы мыпхуэдэ упщIэкIэ зыфхузогъазэ: «Фэ фхэлъу пIэрэ апхуэдэ шэчыншагъэ? Хьэмэрэ абы фыхущыщIэрэ?» «Сэ чыристану зыслъытэж щхьэкIэ, иджыри сычыристанкъым. Сэ абы иджыри къызгурымыIуэ куэд хэлъщ!»  - жыфIэу щытмэ, си псалъэр пщIэншэ хъуакъым. Сэ сигу къокIыж зэгуэр щIалэгъуалэм сащIыгъуу Голландием зэрызыщызгъэпсэхуауэ щытар. Жэщым сыхьэтитIым си бжэм къытеуIуащ. Ар щыIусхым, пижамэ ящыгъыу гуп псо зэхэтт.

-              Сыт фыхуейт?» - сыщIэупщIащ сэ. 

Абыхэм ящыщ зым жэуап къызитащ: 

-              Дэ чыристану зыдбжыжу щытащ, ауэ иджы гу лъыттэжащ абы дызэрынэмысам! 

Абы апхуэдизкIэ къигъэпIейтеяти, нэху яхуэмыгъэщыжу, ахэр къэкIуат

Iуэхум и пэжыпIэр зэхагъэкIыну. Хуабжьу лъапIэщ, ди чыристаныгъэр Библием дигъэлъагъу шэчыншагъэ IупщIым куэдкIэ зэрыпэIэщIэр къыщыдгурыIуэжым деж.

         ЦIыхухэм я фIэщхъуныгъэр къэзыгъэушу, уаз зыт дин пашэ гъуэзэджэ Сперджен зэгуэр абы мыпхуэдэу тепсэлъыхьыгъащ: «ФIэщхъуныгъэр ар зыхэщIэныгъэмкIэ еханэ органщ». Фэ фыщыгъуазэ хъунщ дунейр кърипцIыхуну дэ зыхэщIэныгъэ органу тху дызэриIэм: зэрытлъагъу, зэрызэхэтх, зэрызыхэтщIэ, IэфIагъ-дыджагъ, мэ къызэрытщIихьэ органхэр. А органитхумкIэ дэ къэпщыгъуищ хъу ди дунейр зыхуэдэр зэхыдохуф. ЗыхэщIэныгъэ органхэм я закъуэкIэ псэу цIыхур щIоупщIэ: «Дэнэ Тхьэр здэщыIэр? Сэ Ар слъагъуркъым. Хьиси слъагъуркъым. Сэ а псори си фIэщ хъуркъым!» Ауэ Тхьэм, Езым и Псэ ЛъапIэр къигъэсэбэпурэ, ди акъыл хигъахъуэмэ, итIанэ зыхэщIэныгъэм и еханэ органи догъуэт! ИтIанэ дэ зэрытлъагъум, зэрызэхэтхым, зэрызыхэтщIэм, IэфIагъ - джыджагъымрэ мэхэмрэ зэрызэхэдгъэкIыфым нэмыщI, нэгъуэщI дуней къытхуэцIыхунущ. Библием жеIэ: «ЦIыхухэм мыкIуэдыжын гъащIэ яIэ зэрыхъу гъуэгур Уэ Тхьэ щыпкъэ закъуэращ узэращIэнури, Уэ къэбгъэкIуа Хьисэ Мэссихь зэращIэнури аращ». Ар зэрыпхуэщIэнур еханэ зыхэщIэныгъэмкIэщ.    Иджыблагъэ сэ Эссен щыщ сатуущIэ ехьэжьа гуэрым деж сыщыIащ. Абы и хэщIапIэу къулыкъущIапIэ унэ зэтет лъагэм хэтым укъыщIэплъмэ, къалэ щIылъэныкъуэр хуиту къыпхуэплъыхьырт. КIуэцIыбжэ зыбжанэкIэ сыкIуэцIрыкIа нэужь, икIэм-икIэжым абы и пащхьэ сыкъихутащ. И Iуэхур псынщIэу зэфIигъэкIри, абы, къыздэуэршэрурэ, мыр къызжиIащ: 

-              Сэ сфIэгъэщIэгъуэнщ хьэщIэу дин пашэ сиIэныр. Зауэ нэужьхэм сэри зэзэмызэ секIуалIэу щытащ диным теухуа еджэныгъэхэм, ауэ абы щыгъуэ сэ къысщыхъуащ ...  

-              Къыпыщэт, къыпыщэт, - тызогъэгушхуэ сэ ар, - сэ псантхуэ быдэ сиIэщ, умыгузавэ! 

-              Сэ къысщыхъуащ, - къыпищащ абы, - чыристаныгъэр хуабжьу Iуэху зэIумыбзу! Дэ лекцэ къытхуеджэрт мы темэхэмкIэ: «Чыристанымрэ экономикэмрэ», «Чыристанымрэ Iэщэ щымыгъэIэнымрэ», «Чыристанымрэ ахъшэмрэ», «Чыристанымрэ абы и члисэмрэ». Ауэ иджыри къыздэсым зэхэхауэ зыми къысхуиIуэтакъым чыристаныр зищIысыр. ЦIыхухэм езыхэми ящIэу къыщIэкIынукъым ар! 

ИкIи мис, пэш дэгъуэм сыщIэсщ, а псалъэхэр си нэгу къызэрыщIаIур зыхэсщIэу. 

-              Хьэуэ, - хуэздакъым сэ, - уэ ущоуэ! 

Модрейм игъэщIагъуэу, къызэупщIащ: 

-              Уэ езым къызжепIэфыну чыристан хъужыр хэтми? 

-              Дауи, - жысIащ сэ, - ар кIэщIу икIи гурыIуэгъуэу ныбжесIэнщ. Мыбы мыгурыIуэгъуэ зыри хэлъкъым. 

-              Хьа-хьа, - пыдыхьэшхыкIащ ар, - зым жеIэ чыристаныр полицэм пэщIэмыувэр арауэ, адрейм зэриIуатэмкIэ, чыристаныр члисэм щаумэхъауэ, итIанэ абы щыщIалъхьэжырщ! 

Си псалъэм адэкIэ пысщащ: 

-              Зиусхьэн генеральнэ директор, сэ бжесIэнщ чыристаныр зищIысыр, ауэ быдэу зыIыгъ закъуэ! Чыристан хъужыр и гущIэ лъапсэм кърихыу мыр жызыIэфынурщ: «Сэ си фIэщ мэхъу Хьисэ Мэссихь – мыкIуэдыжын дунейм Адэм къыщилъхуа Тхьэ пэжыр икIи Мэрием хъыджэбзым къилъхуа цIыху пэжыр - сэ цIыху кIуэдам си щхьэр къэзыщэхужа си Зиусхьэну зэрыщытыр». Уэри ухэтщ, зиусхьэн директор, а «цIыху кIуэда» жыхуиIэм! Абы жысIамкIэ арэзыуэ и щхьэр ищIащ. Абы псори къыгурыIуат. «Хъарзынэщ, - жысIащ сэ, - сэ гуэныхьщIакIуэ кIуэдам си щхьэ къэзыщэхужу сыкъэзыщтар икIи гуэныхь псоми, лIэныгъэми, шейтIанми и тепщэныгъэм сакъыIэщIэзышар. Аращ, зиусхьэн директор, укъищтэри, шейтIаным и тепщэныгъэм укъыIэщIишащ!» Абы аргуэру и щхьэр ищIащ. Зыгуэр хищIыкIырт а жысIам. Сэ адэкIэ пысщащ: «ДыщэкIэкъым икIи дыжынкIэкъым, атIэ Езым илъ лъапIэ уасэ зимыIэмкIэщ, Езым лажьэ имыIэу ишэча хьэзабхэмрэ лIэныгъэмрэкIэщ Абы ей сызэрищIар. Зэхэпхрэ? Мыр: «Сэ Хьисэ срейщ, Абы сэ Езым и лъымкIэ сищэхужри гуэныхьми, лIэныгъэми, жыхьэнмэми саIэщIихащ, абы сэ шэч къытесхьэркъым!» - хэт жиIэфми, ар чыристанщ, зиусхьэн генеральнэ директор». 

Кабинетыр тэлайкIэ щым хъуащ. ИтIанэ ар къызэупщIащ: 

-              Дауэ зыIэрызгъэхьэну ар! Дауэ сынэса хъуну абы?

-              Уи секректарь цIыхубзым къызжиIа къудейщ уэ зыгъэпсэхуакIуэ узэрежьэр,  - жэуап естащ сэ. - Нобэ фIэмыкIыу, шэджагъуэ нэужьым, ХъыбарыфIыр къыпхуезгъэхьынщ. Ар къыздэщти, махуэ къэс ХъыбарыфIыр Иуан къызэриIуэтам щыщ пычыгъуэ къеджэ икIи Тхьэм елъэIу абыкIэ, итIанэщ ар щызыIэрыбгъэхьэфынур.

         ЖысIэр тэмэму зыгурывгъаIуэ, чыристаныгъэм, ХъыбарыфIым ар къызэригъэлъагъуэмкIэ, шэч къытрихьэркъым объективнэ пэжагъхэр пэжу зэрыщытым, икIи сэ абы субъективнэ фIэщхьуныгъэкIэ сылъэIэсу сымыкIуэду сыкъелынущ. Фэри фхэлъу пIэрэ апхуэдэ шэчыншагъэ? Сэ сыпсэуфынтэкъым, Абы сыкъызэрищтар шэчыншэу си фIэщ хъууэ щымытамэ.

                          Зы щIалэщIэ гуэрым сеупщIат зэгуэр: 

-              Хьисэ фIыуэ плъагъурэ уэ? - жысIэри. 

-              АтIэ.

-              Уэ пщIэрэ Абы укъызэрищтар? Абы уIэщIэлъ? 

-              НтIэ, ауэ абыкIэ и кIэм нэсу сышэчыншэкъым. Сэ иджыри бэнэныгъэ куэд къыспэщытщ. 

-              КъэдаIуэт, сэ апхуэдэу сыпсэуфынтэкъым, - жысIащ сэ, - сэ сщIэн хуейкъэ Абы сыкъищтарэ сыкъимыщтарэ?!

-              Шэч къытезыхьэ чыристанхэ, Тхьэр щыIэрэ щымыIэрэ щымыгъуазэхэ, зи финанс Iуэхухэм фIы дыдэу хэзыщIыкIыу Тхьэм теухуауэ зыми щымыгъуазэхэ! Фэ жыжьэрэ гъунэгъуу фычыристанкъым!

ХъыбарыфIым тепщIыхьмэ, чыристан хъужыр мыр жызыIэфынухэращ: «Сэ си фIэщ мэхъу Мэссихь си Зиусхьэн зэрыхъуар».

         Абы зы хъыбар цIыкIу дыщIызгъужынщ, фэ фыщыгъуэзэнкIи хъунщ абы. Генерал Фон Фибан къиIуэтэжауэ щытащ, маневрхэм щыгъуэ, шууэ мэзым кIуэцIрыкIыу, къудамэм фIэнэу и зауэлI фащэр зэрызэфIитхъауэ щытар. Генералым апхуэдэу къикIухьыныр къекIуртэкъыми, нэху къыщекIын хуей къуэжэм щыдыхьэм, абдеж щызэхэт сэлэт гупыр къилъагъури, и шыр къигъэувыIащ, икIи абыхэм еупщIащ: 

-              Дэрбзэр къыфхэту пIэрэ? - жиIэри. 

Абыхэм ящыщ зы нэхъ гъунэгъуу къыбгъэдэлъадэщ, хабзэм тету иувыкIри, рапорт къритащ: 

-              Ар дыдэрщ! Сэ сыдэрбзэрщ, зиусхьэн генерал!

Генерал Фон Фибан унафэ ищIащ: 

-              АтIэ абы щыгъуэ си фэтэрым накIуи, си зауэлI къэпталыр схуэдыж. 

Сэлэтым абы жэуапу къритыжаращ: 

-              Сэ ар схуэгъэзэщIэнукъым. 

-              Сыт щIыпхуэмыгъэзэщIэнур, уэ удэрбзэркъэ?! 

-              Къысхуэгъуэгъу, зиусхьэн генерал, Дэрбзэрыр си унэцIэу аращ, ауэ дэрбзэр IэщIагъэ сиIэкъым. 

Ар щыжиIэжым, генерал фон Фибан мыр щIигъужат: 

-              Ар дыдэр яхужыпIэ хъунущ чыристанхэм я нэхъыбэм. Анкетэхэм уеплъмэ, «дин» жиIэу зытет сатырым укъыщоджэ «чыристанщ»,  жиIэу. Ауэ Iуэхум ипэжыпIэмкIэ жиIэн хуейр: «чыристанкIэ сызоджэж, ауэ сычыристанкъым» жиIэущ.

         Сыту щытыкIэ тхьэмыщкIэгъуэ икIи шынагъуэ! Абы къигъэлъагъуэу аращ цIыхур къызэремылар!

 

4.  Шэчыншагъэр дэнэ зыщыбгъуэтынур? 

 

         ФыкъызэупщIынкIэ хъунщ: «Шэчыншагъэ дэнэ зыщыбгъуэтынур?» - жыфIэу. Абы теухуауэ Iэджэ жыпIэфынущ, абыкIэ Тхьэм фелъэIу! Библием зэпымыууэ феджэ, нэгъуэщI мыхъуми, махуэ къэс зы сыхьэт плIанэ! Ауэ, абы къимыдэкIэ, мыхьэнэшхуэ зиIэ гуэри вжесIэн хуейщ: шэчыншагъэр зэрыбгъуэтыну гъуэгур акъылым и гъуэгуракъым, гум и гъуэгурщ.  

Флъагъуркъэ, чыристаныгъэм теухуауэ цIыхухэм уахэпсэлъыхьыну къебгъажьэмэ, мы псалъэхэр занщIэу зэхыбох: 

-              Cэ си фIэщ схуэщIыркъым, зиусхьэн дин пашэ. Библием зэтемыхуэныгъэ куэд итщ. 

-              Зэтемыхуэныгъи? - согъэщIагъуэ сэ. 

-              НтIэ. Псалъэм папщIэ, абы жеIэ Iэдэмрэ Хьэуарэ къуитI яIауэ - Каинрэ Хьэвэлрэ. Каин Хьэвэлыр иукIри, хамэ хэку Iэпхъуащ, абы фыз къыщишащ. АтIэ абыхэм я закъуэ фIэкIа цIыху дунейм темытамэ, фызу къишар дэнэ къыздрихар? Ар къызгурыIуэркъым, зиусхьэн дин пашэ! 

Фэ зэхэфхакIэ а хъыбарыр? А хъыбарыр къагъэсэбэпурэ, нэмыцэхэм Тхьэм зыкърамыгъэлыну хущIокъу. Апхуэдэхэм деж сэ жысIэ хабзэщ: 

-              Уэ гъэщIэгъуэн жыбоIэ. Мэт Библиер, сыгъэлъагъут, дэнэ деж зэрытыр Каин хамэ хэку кIуэуэ абы фыз къыщишауэ? 

Ар жызыIахэр мэукIытэри плъыжь мэхъу, сэ адэкIэ пызощэ:     

-              ЦIыху зэтет минхэр фIэщхъуныгъэм зэрыхуэкIуа Библиер фымыдэу арамэ, икIи апхуэдэ щIыкIэкIэ абыхэм нэхърэ фынэхъ зэтету зывбжыжу арамэ, фэ куууэ вджагъэнущ Библиер. Дэнэ деж зэрытыр ар? 

Абы зыри жэуапу къратыфыркъым.

         ИтIанэ сэ къыщIызогъэщ а щIыпIэр, ауэ абы зэритыр нэгъуэщI гуэрущ, мыращ и пэжыпIэр: 

-              Каин хамэ хэку кIуащ, икIи Каин и фызыр къицIыхуащ. И фызыр щIыгъуу, ар хамэ хэку кIуащ. Хэтыт-тIэ абы и фызыр? Нэхъ ищхьэIуэкIэ щетх Iэдэмрэ Хьэуарэ къуэрэ пхъууэ куэд яIауэ. АтIэ, ар Каин и шыпхъухэм ящыщ зыуэ арат. Библием гурыIуэгъуэу итщ зы лIакъуэм цIыху лIэужь псори къытекIын хуейуэ Тхьэм игъэувауэ щытауэ. Абы къыхэкIкIэ, япэщIыкIэ а зы унагъуэм щыщхэр зэрышэжу къежьащ, ауэ нэхъ иужькIэ Тхьэм апхуэдэ нэчыхьхэр идэжакъым. ГурыIуэгъуэкъэ псори? ГурыIуэгъуэщ! Фи фIэщ сщIакъэ апхуэдэ псалъэмакъ мышыухэм  тегъэщIапIэ зэрамыIэр? 

Ауэ абы и ужькIэ, къызэупщIауэ щыта цIыху фIэщхъуныгъэ хэлъ хъуауэ фи гугъэмэ, фыкъопцIэ. Хьэуэ! Ауи жыжьэуи хъуакъым! Абы занщIэу нэгъуэщI упщIэ къегъэхьэзыр: 

-              Зиусхьэн дин пашэ, атIэ мыр къызжеIэт..  

Мис апхуэдэ защIэу ирекъутэкI. ГурыIуэгъуэ мэхъу абы и упщIэ минищэхэм жэуап естми, ар зэрыщытауэ къызэрынэжынур. ФIэщхъуныгъэм зэрыхуэкIуэр акъылкIэкъым, гукIэщ!

         Эссен къалэм сэ сяпэкIэ дин пашэу щылэжьащ Юлиус Дамманн. Зэгуэр абы и деж зы щIалэ къакIуэри, къыпкърыупщIыхьу щIидзащ Каин и фызым теухуауэ е апхуэдэ гуэрхэмкIэ. Ауэ Дамманн абы и псалъэхэр Iуригуэжащ, мыр жриIэри: 

-              Хьисэ Мэссихь къыщIэкIуар, ныбжьыщIэ, упщIэ мыхъумыщIэхэм жэуап къаритыну аракъым, атIэ гуэныхьщIакIуэхэр къригъэлын папщIэщ!

Уэри гуэныхьщIакIуэ тхьэмыщкIэ ухъумэ, итIанэ аргуэру къакIуэ. 

Зи напэ зыгуэркIэ къызэдэуэж цIыхухэм, зи гъащIэр зэрымытэмэмыр къызыгурыIуэж цIыхухэм, гъащIэр зыхуэмыгъэIэрыхуэ цIыхухэм Хьисэ я фIэщ ящIу загъэсэфынущ. Нэхъ иужьыIуэкIэ абыхэм Iэмал имыIэу зэхэщIыкIри къахуэкIуэнущ. 

         Зэгуэр къысщыщIауэ щытар вжезмыIэжу хъунукъым. Сымаджэщым  и зы пэш сыщIыхьат, лIих щIэлъу. Ахэр гуфIэу къыспежьащ: 

-              Сыту фIыт укъызэрыкIуар, зиусхьэн дин пашэ! ЗыгуэркIэ дыноупщIынут! 

-              ФыкъызэупщIынуи? Хъарзынэкъэ-тIэ! Сытыт фызыщIэупщIэнур? 

Сэ гу лъыстат абыхэм зыгуэркIэ сагъэунэхуну мурад зэращIам. Абыхэм ящыщ зым жеIэ: 

-              Тхьэм псори зэрылъэкIыр уэ уи фIэщ мэхъу, пэжкъэ?

-              НтIэ, мэхъу Ар си фIэщ! 

-              АтIэ мыпхуэдэ упщIэ къоув: а уи Тхьэм Езым къыхуэмыIэтыжыфын мывэ хьэлъэ дыдэ къыхуэгъэщIыну пIэрэ?

-              КъывгурыIуакъэ абыхэм къагупсысар? Иджы «НтIэ» жысIэу жэуап естмэ, Тхьэм псори лъэмыкIыу мэхъу, «хьэуэ» жысIэмэ, абы щыгъуи Абы псо дыдэри хузэфIэмыкIыу аращ. Зы дакъикъэ хъункIэ сегупсысащ, Iуэхур зытетыр къыгурызгъэIуэн мыбы жысIэу, ауэ акъылышхуэ бгъэдэлъу фэ теттэкъым, а жепIэр зэхищIыкIын хуэдэуи, и упщIэм упщIэ пэздзыжащ: 

-              ЯпэщIыкIэ уэ зыгуэркIэ сызэгъэупщI, щIалэ: а упщIэм и зэранкIэ уи жейр мыкIуэдауэ пIэрэ уэ? 

-              Хьэуэ, кIуэдакъым!» - жиIащ абы, сызэреупщIам щтэIэщтаблэ ищIауэ зыхуихьынур имыщIэу. Абы щыгъуэ жесIаращ: 

-              Плъагъуркъэ, сэ си къарур зэзгъэзэхуэн хуейщ, япэ къэс упщIэм жэуап естыркъым, цIыхухэр зымыгъэжейуэ къезыхуэкI упщIэхэращ къыхэсхыр. Уэ, щIалэщIэ, сыт хуэдэ щхьэусыгъуэхэм жейм урамыгъэзэгърэ?  Абдеж куэдрэ емыгупсысу жэуап къызитыжащ: 

-              Си къэшэн хъыджэбзыращ апхуэдэ щхьэусыгъуэу щыIэр. Ар уэндэгъу хъуащ, ауэ дызэрышэну зэкIэ Iэмал дгъуэтыркъым.

-              «Ыхьы, - жызоIэ сэ, - аращ жыбоIэ жэщкIэ ущIэмыжейр. АтIэ абы дытепсэлъыхьынщ! 

-              Абырэ чыристаныгъэмрэ сыт зэхуаIуэху?! - игъэщIэгъуащ  абы. 

-              НетIрей мывэм чыристаныгъэм хуиIуэху щыIэкъым, пэж дыдэу, жысIащ сэ,

-              ауэ уи хъыджэбзым и Iуэхур абы быдэу пыщIащ! Плъагъуркъэ, уэ къуаншагъэ блэжьащ! Тхьэм жиIам утекIащ, хъыджэбзыр къэбгъапцIэри! Иджы узэрыхуа щытыкIэм укъызэрикIынум уогупсыс. Уэ зэхэпщIыхьамрэ гуэныхьхэмрэ уалъэхъауэ уаIыгъщ. Иджы уэ дэIэпыкъуэгъу къыпхуэхъуфынур Тхьэ псэум зыхуэбгъазэу, «гуэныхь злэжьащ!» жыпIэу зыбумысыжу, уи гуэныхьхэм уахущIегъуэжынырщ. Абы щыгъуэ КъегъэлакIуэр гъунэгъу къыпхуэхъунурэ къыбдэIэпыкъунущ!

ЩIалэщIэр къызэдаIуэри, къыгурыIуащ абы и напэм телъ хьэлъэр Хьисэ къызэрыфIэIуэхур! Хьисэ къыдэIэпыкъунущ абы! Абы и гъащIэ хэкIыпIэншэм къезыгъэлыфынур Аращ! 

         Тэмэму къывгурыIуауэ пIэрэ? АкъылкIэ абы къиубыдыну зыхэтар псалъэмакъ мышыум хуэкIуащ, ауэ Iуэхур и напэм щынэсым, абы нэху зэуэ къыпкъырыхьащ. КъывгурыIуэрэ ар? ДыкъызэрелынумкIэ шэчыншагъэ щыдгъуэтыр упщIэ делагъэхэм я жэуапхэркъым, атIэ ди напэм жиIэм дедаIуэу зыщыдумысыжырщ «Сэ гуэныхь злэжьащ!» жытIэу. Жорым кIэрыль Хьисэ къытхуэлъагъунущ итIанэ. ИтIанэщ мы псалъэхэр щызэхэтхынур: «Уэ уи гуэныхь псори къыпхуэгъуащ!» Абы и ужь иту къыпIэрыхьэнущ шэчыншагъэр: «Абы сэ сыкъидащ!» А гъуэгур напэмкIэщ здыкIуэцIрыкIыр, акъылымкIэкъым.

         Аращи, укъызэрелынумкIэ шэчыншагъэ пхэлъыну ухуеймэ, зэрыжаIэу, тегушхуэн хуейщ. Члисэ щхьэгъубжэхэм куэдрэ абдж щхъуэкIэплъыкIэ халъхьэ хабзэщ. Махуэу абыхэм унэ щIыбымкIэ уакъыщеплъмэ, ахэр фIыцIафэу нэм къыIуедзэ, я плъыфэр ерагъыу зэхэбгъэкIыф къудейщ. Ауэ члисэ кIуэцIым ущIыхьэн фIэкI хуейкъым, ахэр нэр щисыкIыу  къызэщIэнэн щхьэкIэ. Чыристаныгъэм и Iуэхури аращ.

         ЩIыбагъкIэ сыкъыкIэлъыплъыхункIэ, абы щыщу зыри  къызгурыIуэркъым. Псори кIыфIу къысщохъу. Сытегушхуэнщи, сыщIыхьэнти, зэзгъэцIыхунти Хьисэ! Сэ си дзыхь езгъэзыпхъэщ Хьисэ! ИтIанэ псори наIуэ, гурыIуэгъуэ хъунущ! Зы лъэбакъуэ закъуэ лIэныгъэм къыбгъэдэкIыу гъащIэмкIэ чыи, чыристаныгъэр зэрыщыту гурыIуэгъуэ, зэIубз мэхъу. 

         Зэгуэр Зиусхьэн Хьисэ ущиерти, Абы цIыху минхэр къедаIуэрт. Ауэ абдеж Абы псалъэ ябгэхэр къыжьэдэкIащ: «Фэ иджыпсту фызэрыщытым фытетмэ, уафэм щыIэ Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм фыщIыхьэфынукъым! Фэ щIэрыщIэу фыкъалъхун хуейщ! Фэ фи хьэл-щэным и нэхъыфI дыдэри хуэфащэкъым Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм!» 

Ар щызэхахым, языныкъуэ лIыхэр къэтэджыжащ, IукIыжыну: 

-              ФынакIуэ, дыIувгъэкI мыбдеж, напаншагъэ псалъэмакъщ мыбы щекIуэкIыр! - жаIэри. 

ИкIи цIыхухъуищ IукIыжащ. Абы цIыхубзихым гу лъатати, мыпхуэдэу  егупсысащ: цIыхухъухэр щыкIуэжакIэ, дэри дыкIуэжынщ! Ахэри IукIыжащ. Ар щIалэ зыбжанэм къалъэгъуащ: цIыхухъухэри цIыхубзхэри IукIыжащ, дэри кIэбгъу зыдвгъэщI! Апхуэдэу тIэкIу-тIэкIуурэ гупыр зэбгрыкIыжащ. Узижэгъуэну къыщIэкIынт абы укIэлъыплъыну. Си нэгу къыщIызогъэхьэ, сэ ущиекIэ сащыхэпсэлъыхькIэ, къызэдаIуэхэр тэджурэ зырыз-тIурытIу зэбгрыкIыжу, си ныбжьэгъу гъунэгъу зыбжанэ фIэкIа къыщIэмынауэ. Ар къыщыщIауэ щытащ Хьисэ. Узижэгъуэнщ! Ар и закъуэу утыкум къинащ. ЦIыху минхэм къабгынащ Абы и ущиер. КъедэIуэну хуейтэкъым ахэр. И гъуэгу ирикIуэ 12-м я закъуэщ къэнар. Сэ Зиусхьэн Хьисэу щытыгъамэ, абыхэм селъэIунт: 

-              КхъыIэ, нэгъуэщI мыхьуми, фэ фыкъанэ сщIыгъуу! НэгъуэщI мыхъуми, фэ, си ныбжьэгъуфIхэм, сыкъэвмыбгынэ! 

Ауэ Хьисэ аракъым ищIэр. ФщIэрэ, абы жиIэр? ЖиIэращ:

-              Фэри, фыхуеймэ, фыкIуэж хъунущ!

Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэ уафэм щыIэм хэгъэзыхь щыIэкъым. Полицэ зимыIэу щыIэр Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэ закъуэращ. Тепщэныгъэшхуэ щыIэу хъуам фIэфIыныгъэм апхуэдэу тещIыхьа яхэткъым. «Фэри фыкIуэж хъунущ, фыхуеймэ!» - аращ Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэм яжриIэр. И гъуэгу ирикIуэхэри кIуэжыну хуейт. ЦIыху 6000 щыкIуэжакIэ, ахэри къытехьэнтэкъэ кIуэжыну! ИкIи кIуэжынкIэ хъунт гъуэгу ирикIуэхэр, Езы Зиусхьэнми «КхъыIэ, фыкIуэж!» щыжиIакIэ. Хьисэ бжэр ину яхузэIуех абыхэм: «Фэри фыкIуэ хъунущ! Фэри фыхуитщ кIуэдыпIэм фыкIуэну! Фызэрыхуейщ!» Ауэ абдеж Петр зыщIэгупсысыжащ: 

-              Дэнэ сыздэкIуэнур! Дэнэ? Лэжьыгъэмрэ пщIэнтIэпсымрэ сыхэмыкIыу сыпсэууэ, гуэныхь фIейм сыхэтурэ икIи итIанэ, икIэм-икIэжым, жыхьэнмэм и бжэм сыкъыщыхутэну сыхуейуэ ара? Ар блэжьыныр акъылыншагъэщ! 

Абы и нэр зэуэ Хьисэ техуащ, икIи абы дежкIэ IупщI дыдэ хъуащ мыр: «акъыл зыхэлъу, мыхьэнэ зиIэу щыIэр зы гъащIэ закъуэщ - Хьисэ ущIыгъуу къэбгъащIэрщ». ИкIи абы жеIэ:

-              Зиусхьэн, хэт деж дыкIуэн ? МыкIуэдыжын гъащIэ диIэ зыщI псалъэхэр уи кудщ. ГъащIэ щыпкъэр къызыбгъэдэкI Тхьэм и Къуэ Мэссихьу узэрыщытыр дощIэ, ди фIэщ хъуащ. 

         Апхуэдэущ шэчыншагъэм  узэрынэсынур, си ныбжьэгъухэ!  ГъащIэм и гъуэгу зэмылIэужьыгъуэхэр дгъэунэхукIэрэ, дэ мыбы дыхуокIуэ: Хьисэ Iэмал закъуэрщ дымыкIуэду дыкъызэрелынур. Сыту сыхуейт сэ фэри мыпхуэдэ шэчыншагъэ IупщI къыфIэрыхьэну: «ГъащIэ щыпкъэр къызыбгъэдэкI Тхьэм и Къуэ Мэссихьу узэрыщытыр дощIэ, ди фIэщ хъуащ». 

КIэухыу псалъитI-щы жысIэнут, фIэщхъуныгъэм и гъуэгум тету япэ лъэбакъуэхэр зыча, зи гур Хьисэ езыта, ауэ итIани:

«ДыкъызэрелынумкIэ шэчыншагъэ схэлъкъым. Дауэ зыIэрызгъэхьа  хъуну ар? Сэ иджыри си гъащIэм гуэныхь Iэджэ хызолъагъуэ», жызыIэ псоми яхуэгъэзауэ. МыкIуэду къелыныгъэм и хъыбарым я фIэщу щIэдэIу цIыхухэм мыр яжесIэнут: «Фэ фи гугъэу ара къелынымкIэ шэчыншагъэ зиIэнкIэ хъунур гуэныхь лъэпкъ зытемылъхэм я закъуэу? Абы щыгъуэ фэ уафэращ фыздэщыIапхъэр! Си гуэныхьхэр стекIын щхьэкIэ, сэ си иужьрей махуэм пщIондэ, си иужьрей бэуэгъуэм нэсыху, Хьисэ Мэссихь и лъым сыхуэныкъуэщ!

                          Къуэ кIуэдам и хъыбарым фыщыгъуазэщ. Ар и унэ къэкIуэжри: 

-              Гуэныхь злэжьащ!» - жиIащ. 

Адэм ар къригъэблэгъэжащ, гуфIэгъуэ Iэнэ къыхуищтащ. Мыр си нэгу къыщIызогъэхьэ иджы: къыкIэлъыкIуэ пщэдджыжьым къуэм зэрымыщIэкIэ кхъуэщын щыкъур IэщIоху. Кхъуэхэм зэрахэт лъандэрэ ар Iэнэм бгъэдэсыным щыужати, щыкъур Iэнэм ирегъэхуэх. Шыкъур макъышхуэ ищIу щыщащэм, ар хъуэнащ. Фэ дауэ феплърэ, адэм ар щIихуну пIэрэ: 

-              КIуэ адэ, уи кхъуэхэм я деж зегъэхъ! - жиIэу? 

Пэж дыдэу, ара фи гугъэр? Хьэуэ! Адэм жиIэр нэгъуэщIщ:

-              Къащтар къащтащ!

 Абы къуэм къыгуригъэIуэнущ: 

-              Си щIалэ, апхуэдэу  дыщумыгъэт, Iэнэм дыщыбгъэдэскIэ, хьэкъущыкъухэм нэхъ дазэрыхуэсакъыным дыхущIэгъэкъу, думыгъэхъуанэ, унэм щызекIуэ хабзэхэм хуэм-хуэмурэ зегъэсэж!

Ауэ ар аргуэру кхъуэхэм я деж ихужыну ауи игу къигъэкIынукъым. Гупсэхуу фыкъэдаIуэт: цIыхум Хьисэ къыщищтэкIэ, абы и жагъуэ и щIасэми, къыгуроIуэж а и япэрей хьэл-щэныжьыр зыщIыпIи мыкIуауэ иджыри зэрыхэлъыр! Иджыри къыщикIуэтыж щыIэщ ар! Ауэ фи гуэныхьхэм фахущIегъуэжа щхьэкIи фыкъыщикIуэтыж къэхъуми, занщIэу фигурэ фи щхьэрэ зэмыбгъэжу, фи гур фымыгъэкIуэду, Тхьэм фелъэIуну лъэгуажьэмыщхьэу фыув: япэрауэ: «Зиусхьэн, фIыщIэ пхузощI, иджыри ууейуэ сызэрыщытым папщIэ!» ЕтIуанэрауэ: «Къысхуэгъэгъу, Уэ уи лъымкIи сыгъэкъэбзэж!» Ещанэрауэ: «Си япэрей хьэл-шэныжьым сыкъэIэщIэгъэкI!» Ауэ япэр мыращ: «Зиусхьэн, фIыщIэ пхузощI иджыри ууейуэ сызэрыщытым папщIэ!»

         СызыхэфщIыкIа? КъелынымкIэ шэчыншагъэ хъужыр мыр зэрысщIэр аращ: унэм сыкъихьэжащи, иджы абы пIалъэ-пIалъэкIэрэ къихьэ-икIыж гуэр  мыхъуу, зэпымыууэ а унэм ис цIыхуу сыщыткIэрэ, cи гур къабзэ зэрысщIыным сыщIобэн. УмыкIуэду укъригъэлыну махуэ къэс щIэрыщIэу Тхьэм уелъэIун хуейуэ дин пашэм уазымкIэ жиIэмэ, апхуэдэ уазыр щIагъуэкъым. Си сабийхэр пщэдджыжь къэс къызбгъэдыхьэурэ къыщIызэупщIын щыIэкъым: 

-              Папэ, нобэ аргуэру уи быну дыщыт хъуну? - жаIэу. 

Ахэр си бынщ! Тхьэм и бын хъуари Тхьэм и быну щытщ, икIи Тхьэм и быным зэрищIэн хуейм хуэдэу гу къабзагъэм хущIокъу!

         Аращи, сигуми си псэми къыбгъэдэкIыу сыфхуоупсэ Тхьэм и бынхэм я шэчыншагъэ IупщIыр фиIэну!

 

 

 

 

ФIЭЩХЪУНЫГЪЭР ЩХЬЭЗАКЪУЭ IУЭХУУ ПIЭРЭ?

 

         Куэдрэ зэхэпхынущ мыр жаIэу: «ФIэщхъуныгъэр щхьэ закъуэ Iуэхущ!» Пэжу пIэрэ ар? ДыщIэвгъэупщIэт: «ЦIыху гуэр Хьисэ и гъуэгум ирикIуэмэ,  щхьэзакъуэ Iуэхуу щыту пIэрэ?»

         А упщIэм жэуап еттын и пэ, абы нэгъуэщI зы упщIэ пэзгъэувынут. Къэдвгъащтэт марки 5 хъу гъущI ахъшэр. Сыт абы сурэту тещIыхьар? Тху  бжыгъэ хьэмэрэ бгъэ сурэт? ТIури тетщ! Маркитху хъу гъущI ахъшэм лъэныкъуитI иIэщ. Апхуэдэщ «Чыристаныгъэр щхьэ закъуэ Iуэхуу пIэрэ?» упщIэм и Iуэхури. Жэуапыр  мыращ: икIи щытщ, икIи щыткъым.      Чыристаныгъэ псэу пэжым лъэныкъуитI иIэщ: щхьэ закъуэм ехьэлIаи, цIыху куэдым ехьэлIаи. А тIум яз къэтмэ, Iуэхур мытэмэму аращ!          Сэ сыхуейт Тхьэм и Псэ ЛъапIэм къигъэщIа чыристаныгъэ пэжым и лъэныкъуитIри фэзгъэлъагъуну.  

 

1. Чыристаныгъэм и щхьэзакъуэ лъэныкъуэр

 

                          Мыр къывгурызгъэIуэн  папщIэ, япэ щIыкIэ зы хъыбар фезгъэдэIуэнщ.

Зэгуэр сэ «хъыбарIуатэкIэ» къызэщащ. Абы и жэуапу сэ жысIащ: 

-              Абы зыри Iей хэлъкъым. Сэ дапщэщи согузавэ, цIыхухэр члисэм  щIэмыжеихьарэт, жызоIэри. ИкIи пIалъэ-пIалъэкIэрэ хъыбар гуэрхэр си уазым къыщыхэзгъэхьэм деж ахэр щхьэукъуэркъым! 

Абы къимыдэкIэ, езы гъащIэр хъыбар защIэущ зэрызэхэтыр, армыхъумэ теориеукъым.

          БлэкIа лIэщIыгъуэм псэуащ цIыхухэм я фIэщхъуныгъэ къэзыгъэуш ущиякIуэ гъуэзэджэ Генрих Фолькенинг. Абы и уазхэм Билефельд и Iэшэлъашэм щыпсэухэр нэгъуэщI цIыху ящIауэ щытащ. Фолькенингыр зэгуэр мэкъумэшыщIэ къулей гуэрым иригъэблэгъат. Лъапсэ узэда иIэт абы, и пщIэнтIэпс хьэлэлкIэ зэригъэпэщыжауэ. Ауэ абы уазхэм едэIуэн хуабжьу и жагъуэт, илъагъу хъуртэкъым. Гуэныхь телъу зыкъилъытэжыртэкъым абы.

Ар хуэныкъуэтэкъым гуэныхьщIакIуэхэм я КъегъэлакIуэ жорым фIэлъым. Абы жиIэрат: «Сэ пэжу сопсэури, зыкIи сышынэркъым». Арати,  Фолькенинг а мэкъумэшыщIэм деж яшащ, зэрылIыкIын уз къеуэлIащи, Зиусхьэным и пщыхьэщхьэшхэм хэлэжьэну хуейщ, жаIэри. КIуащ Фолькенинг. Ар лIы лъагэт, и нэхэр лыду. Арати, пIэм хэлъ сымаджэм щхьэщохьэ ар, абы куэдрэ щыму йоплъри,  жеIэ: 

-              Генрих, уэр щхьэкIэ хуабжьу согузавэ. Псори зэрыщытауэ къэнэжмэ, уи гъуэгур здэкIуэр уафэр аракъым, занщIэу жыхьэнмэм пэрыхьэнущ. 

Ар жеIэ, зыкъегъазэри къыщIокIыж. МэкъумэшыщIэ бейр губжьауэ мэхъущIэ: 

-              ИтIани дин пашэкIэ зоджэж ар! Ара чыристан лъагъуныгъэ хъужыр?  

Жэщ мэхъу. ЛIы сымаджэ хьэлъэр жейркъым. Абы и напэр къодауэ: 

-              Гъуэгур уафэракъым здэкIуэр, жыхьэнмэращ! Ар пэжмэ-щэ? 

ИкIи игу къокIыж гуэныхь зэмылIэужьыгъуэхэр. Тхьэм пщIэ хуищIу щытакъым абы, цIыхухэр куэдрэ къигъэпцIащ, щыхузэфIэкIым деж абыхэм хьилагъэкIэ къадекIуэкIащ. КъыкIэлъыкIуэ жэщхэм ар шынэм зыIэщIеубыдэ. Ар и пIэ ихуэжыркъым, и гъащIэр гуэныхьу зэрызэхэлъыр, ар жыжьэрэ гъунэгъуу Тхьэм и быну зэрыщымытар зэуэ къыгурыIуэжащи. Иджы ар хуейщ зихъуэжыну. Махуищ дэкIауэ, и фызыр аргуэру Фолькенинг деж егъакIуэ: 

-              Къашэ, фыз, Фолькенинг, кIуэи! 

Пщыхьэщхьэр хэкIуэтауэ щыт пэтми, Фолькенинг занщIэу къэкIуащ.

МэкъумэшыщIэ гужьеям жеIэ: 

-              Дин пашэ, си гугъэмкIэ, сэ зысхъуэжыпхьэщ! 

-              Аращ, - жи Фолькенинг, - адэкIэ кIуапIэ фыщимыIэжым дежщ фыкъыщыджэр, ауэ урихулIауэ уи гуэныхьхэм уахущIегъуэжыныр хущIегъуэжын псэншэщ! Зэрыщытын хуейр нэгъуэщIущ ар. 

Ар жеIэ, къегъэкIэрахъуэри мэкIуэж. МэкъумэшыщIэр мафIэу къэлыдащ, губжьым къыхэкIыу. Фэри хуабжьу фызэгуэпыну къыщIэкIынт а пасторым щхьэкIэ, пэжкъэ? ИкIэм-икIэжым, езы дин пашэм дежкIи нэхъыфIу къыщIэкIынт, а мэкъумэшыщIэ къулейм нэхъ щабэу епсалъамэ! Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, абы куэд ихьыжынутэкъым, щIэх лIэнут. Ауэ Фолькенинг Тхьэм и пащхьэ ит цIыхут, икIи жиIэри ищIэжырт. 

         Махуищ дэкIащ. МэкъумэшыщIэм  и Iуэхур хьэлъэ хъуащ. Абы ищIэрт щIэх зэрылIэнур! Ауэ абы и гъащIэм хэта лъагъуныгъэ, гуфIэгъуэ, гупсэхугъуэ, бэшэчыгъэ, псапэ, фIэщхъуныгъэ, жыIэдаIуагъэ, зышыIэныгъэ? Абы и гъащIэ псом Iумпэм ищIу щытащ езым щхьэкIэ лIа КъегъэлакIуэр. И лъагъуныгъэр щIыгъуу Ар и пащхьэ къыщихьэм деж, Iуихужу щытащ. Иджы жыхьэнмэ гъунэм Iуту зелъагъужри, мэгужьей.

-              Щхьэгъусэ, - мэлъаIуэ ар, - схуэкIуэт дин пашэм деж! 

-              АфIэкIа сыкIуэнукъым абы деж! – идэркъым мыдрейм. - КъыбдэIэпыкъунукъым ар! 

-              КIуэи, къашэ ар, фыз! Жыхьэнмэм сыкIуэнущ сэ!

Арати, фызыр кIуащ сытми. Фолькенинг къакIуэу къыщыIуплъэм, илъэгъуащ и пащхьэм къилъым мыр къызэрыгурыIуар: «ЗыкъэвмыгъэпцIэж, Тхьэм зыкъывигъэгъэпцIэнукъым. ЦIыхум хьэсэм трисэр къытрихыжынущ. И гуэныхьыщIэ щэныжьым и хьэсэм тезысэ цIыхум кIуэдыныгъэр игъуэтыжынущ. Ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапIэм и хьэсэм тезысэм мыкIуэдыжын гъащIэ дгъуэтынущ». Фолькенинг шэнтыр сымаджэм ирегъэкIуэталIэ, мэтIысри йоупщI: 

-              Пэжкъэ гъуэгур жыхьэнмэм зэрыкIуэр? 

-              Аращ, жыхьэнмэращ здэкIуэр! 

-              Генрих, накIуэ Голгофэм! – жеIэ Фолькекинг. - Уэр щхьэкIэ абдеж щылIащ Хьисэ! 

Абы дахэу, щабэу къеIуатэ Хьисэ гуэныхьщIакIуэхэр къызэрыригъэлыр. Ауэ абы щхьэкIэ дэ езым гуэныхьщIакIуэу зытлъытэжын хуейщ. ИкIи пычын хуейщ «Сэ сыцIыху пэжщи, зы щхьэкIи сышынэркъым!» жыIэныр. Ар щыпщIэфынур пэжым ухыхьэжа нэужьщ. Хьисэ укъригъэлыфынущ итIанэ.

МэкъумэшыщIэм зэуэ къыгуроIуэ: «Хьисэ сэр щхьэкIэ жорым кIэрылIыхьащ! Абы си гуэныхьхэр ипшыныжащ! А зыращ Тхьэм и пащхьэ уасэ щызиIэн пэжыгъэ къысхэзылъхьэфынур». МэкъумэшыщIэр и гъащIэм къриубыдэу япэ дыдэу Тхьэм йолъэIу, фэрыщIагъ хэмылъу: 

-              Ди Тхьэ, гущIэгъу къысхуэщI сэ гуэныхьщIакIуэм! Зиусхьэн Хьисэ, жыхьэнмэм сумыгъакIуэу сыкъегъэл!

Фолькенинг щэху цIыкIуу щIокIыж. Абы къебгынэ Хьисэ еджэ цIыхур. Фолькенинг и гур зэгъащ, сыту жыпIэмэ Библием щэнейрэ иткъэ: «Хэт къыдэIэпыкъуну елъэIуми, мыкIуэду Зиусхьэным къригъэлынущ!» - жиIэу. КъыкIэлъыкIуэ махуэм аргуэру къыщыщIыхьам, Фолькенинг Тхьэм екIужа цIыхум кърихьэлIащ: 

-              Генрих, дауэ щыт уи Iуэхухэр? 

-              Тхьэм и нэфI щыхуэныгъэкIэ сыкъищтащ! - жэуап кърет Генрих.

Телъыджэ къэхъуат!

         Флъагъурэ цIыху пагэр щIэрыщIэу  къызэралъхуар! Иджы фIы дыдэу фыкъэдаIуэ. Зэгуэр, жэщу, Зиусхьэн Хьисэ деж еджагъэшхуэ гуэр къакIуэри, къыжриIащ: 

-              Зиусхьэн Хьисэ, сэ дин IуэхумкIэ сынодэуэнут. 

-              Мыбы ущIызэдэуэн хэлъкъым! – хуидакъым ар Хьисэ. - ЦIыху гуэрми,  щIэрыщIэу къамылъхужмэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр илъагъун лъэкIынукъым. 

-              Ар дауэ, - щIоупщIэ а къыхуэкIуар, - сэ аргуэру сабий цIыкIу зысщIыжу, си анэм и ныбэ згъэзэжу щIэрыщIэу зыкъезгъэлъхужыфыну?!  

Хьисэ а жиIам тетщ: 

-              Псымрэ Тхьэм и Псэ ЛъапIэмрэ къахэкIыу, щIэрыщIэу къамылъхъужмэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щIыхьэн лъэкIынукъым цIыхум! 

Мис аращ чыристаныгъэм и щхьэзакъуэ лъэныкъуэ хъужри: цIыхур куэбжэ зэвкIэ гъащIэм хыхьэн хуейщ, ар Тхьэм и телъыджэ инкIэ щIэрыщIэу къалъхун хуейщ.

         Сэ зи гугъу сщIыр теологием ехьэлIа Iуэху мыхьэнэншэ гуэрхэркъым, игъащIэкIэ умыкIуэду укъелыным и гъуэгурщ. Сымызахуэу

сыкъыщIевгъэдзыф! Фэ фылIэу фыщытелъым деж, Фолькенинг хуэдэ зыри къыфщхьэщымытынри хэлъщ. Зэхэфхрэ? ЩIэрыщIэу укъалъхужын папщIэ, Iэмал имыIэу Тхьэр зэрызахуэр къэплъытэн хуейщ, уэ узэрыцIыху кIуэдар, уигури хуабжьу зэрызэIыхьар къэпщIэжыпхъэщ. ЩIэрыщIэу къалъхужыныр - ар дунейм и КъегъэлакIуэ закъуэ Хьисэ хуэзэшынырщ. ЩIэрыщIэу къалъхужыныр - ар Хьисэ и пащхьэ фи гуэныхь псоми пэжу фахущIэгъуэжынырщ: «Сэ уафэмкIи УэркIи гуэныхь злэжьащ», - жыпIэу. ЩIэрыщIэу къалъхужыныр - ар мыбыкIэ фIэщхъуныгъэщ: «Хьисэ и лъым сэ сыт хуэдэ гуэныхьри си гум ирегъэкъэбзыкIыж. Абы сэ си щхьэ ищэхужащи, Тхьэм щыпкъагъэ сиIэу елъытэ». ЩIэрыщIэу къалъхужыныр – ар Зиусхьэным уэ укъызэрищтамкIэ Тхьэм и Псэ ЛъапIэр щыхьэту къэуву, Зиусхьэным узэрыщыту зептынырщ. Библиер абы зэреджэр «Зиусхьэным и мыхъур къыптредзэ». ЩIэрыщIэу укъамылъхужамэ,  Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм ущIыхьэнукъым! Тхьэм и бын хъуар абы и тэмэмыпIэм щыгъуазэщ.            КъывгурыIуа? Ар чыристаныгъэм и щхьэзакъуэ лъэныкъуэщ. А лIэныгъэм укъыхэкIыу гъащIэм уIэщIыхьэныгъэр дэтхэнэ зыми езым и щхьэкIэ игъэунэхун хуейщ.  ЩIэрыщIэу сыкъызэралъхуар сигу къыщыкIыжкIэ, апхуэдэу си гъащIэм зэрызихъуэжар телъыджэу солъытэж. Сэ гуэныхьым сыхэту, Тхьэм пэIэщIэу сыпсэуащ. Ауэ, мис, Хьисэ си гъащIэм къыхыхьащи, иджы сэ Абы срейщ икIи си гъащIэр тезухуэну сыхуейщ цIыхухэр кIуэдыныгъэм щысхъумэным, ахэр Хьисэ ешэлIэным. Фыкъызыхузезджэр мыращ: щIэрыщIэу фыкъалъхужыным нэсыху, Хьисэ фреиным икIи фэ Абы фызэрыIэщIэлъыр зыщывмыгъэгъупщэ.  

                          ЩIэрыщIэу къалъхужыныр щхьэ закъуэ чыристаныгъэм и кIэух этапу

аракъым, атIэ абы и щIэдзапIэ къудейщ. Абы адэкIи къыпещэ чыристаныгъэм и щхьэзакъуэ лъэныкъуэм.

         ФщIэну сыхуейщ сэ щIэрыщIэу сыкъыщалъхужам щыгъуэ мыр зэрызыхэсщIар: «Иджы сэ Iэмал имыIэу махуэ къэс си Ныбжьэгъум и макъ зэхэсхын хуейщ!» ИкIи Библием еджэн щIэддзащ. Ауэ ди зэманым Библие еджэр дин пашэм и закъуэщ. Си унэр мэзым и гъунэгъущ. Пщэдджыжь къэс абы дэрэжэгъуэшхуэ схэлъу сокIуэ Библие сыщеджэну, ари, сыщымысу, сыкъикIукI-сыникIукIыурэ. Iэгъуэблагъэм щыпсэу цIыхухэм дапщэщи сэ абдеж сыщалъагъунущ. Абыхэм ящыщ зым мыр къызжиIащ: «Уэ тхьэлъэIу тхылъ ущеджэм деж дапщэщи сыпкIэлъоплъ», - жиIэри. ТхьэлъэIу тхылъ еджэр католик динырылажьэхэрщ. Абы уеблэмэ и нэгу къыхущIэгъэхьэфыртэкъым сэ сызэджэ тхыльым сэ схуэдэ дыдэу хэт и цIыху къызэрыгуэкIи зэреджэфынур. Библием хэти еджэфынущ!

         Эссен къалэм и щIалэгъуалэм сахэту зыщIыпIэ нэгузегъэужьакIуэ дыщыкIуэкIэ, махуэ къэс, пщэдджыжьышхэм и пэ, дэ зы сыхьэт плIанэ хуэдэкIэ дызэхуэсырти, япэщIыкIэ уэрэд лъапIэ гуэр жытIэрт, псалъэм папщIэ: «Жейм сыкъыхэкIауэ, уи пащхьэ, си КъэгъэщIакIуэ, сынитщ ...», итIанэ - Библием щыщ сатыр. АдэкIэ  Библием щыщ текст гуэр къахуэзгъэлъагъуэрт, икIи дэтхэнэми езым и Библиер иIыгъыу лъэныкъуэегъэз зищIырти, езыр-езыру абы къеджэрт. ФIэщхъуныгъэ зыхэзылъхьэу Хьисэ щIыгъуу псэун езыгъэжьахэм я уни аращ щащIэр, сыту жыпIэмэ я Iэхъуэ хьэлэлым и макъ зэхамыхыу, Абы емыпсалъэу ахэр псэуфынукъым.

         Иджы фэри сыныволъэIу: ХъыбарыфIым еджэн щIэвдзи, фи щхьэзакъуэ чыристан гъащIэр къэвгъэпсэуж! Пщэдджыжьу е пщыхьэщхьэу  сыхьэт плIанэ хухэфх абы!

         ХъыбарыфIыр зэтефпIэжа  нэужь, Тхьэм фелъэIуу фи Iуэгухэр  зэгуэфпIи, жыфIэ: «Зиусхьэн Хьисэ, иджы Уэ сынопсэлъэну сыхуейщ. Сэ нобэ куэд злэжьын хуейуэ къыспэщылъщ. КъыздэIэпыкъу! Сыдэзышэх гуэныхьхэм сащыхъумэ! Си гъунэгъухэр фIыуэ сыгъэлъагъу! Тхьэм и Псэ ЛъапIэр сигу игъэлъ!»

         ФелъэIу Тхьэм! Фепсалъэ Хьисэ! Ар мис! Абы фызэхех! Чыристаным тхьэлъэIукIэ Тхьэм зыщыхуигъазэм деж ари чыристаныгъэ псэум и щхьэ закъуэ лъэныкъуэм щыщщ.

         ФIэщхъуныгъэ зиIэ хъуа зиусхьэн гуэрым иджыблагъэ жесIащ: «Уэ махуэ къэс, нэгъуэщI мыхъуми, зы сыхьэт плIанэкIэ, Хьисэ уепсэлъэн  хуейщ», - жысIэри. Абы къысхуидакъым: «КъэдаIуэт, сэ сыдин пашэкъым, абы хухэсхын зэмани сиIэкъым. Сэ си зэманыр зэпэубыдащ».        - Ыхьы! къызэрыщIэкIымкIэ, зэманыр пхурикъуркъым, ара? - сеупщIащ сэ абы. 

- Аращ», - щыжиIэм, адэкIэ къыпысщащ: - Плъагъуркъэ! Апхуэдэу щIыщытыр а тхьэлъэIу щэхум и сыхьэт плIанэр пхурикъуркъыми, аращ. ПщэдджыжькIэрэ Хьисэ уепсалъэу, зэпымыууэ ХъыбарыфIым уеджэу икIи Тхьэм уелъэIуу зэрызебгъасэу, уэ гу лъыптэнщ Iуэхуу уиIэр уджэгуурэ зэрызэфIэбгъэкIыфым. Нэхъ Iуэху нэхъыбэ уиIэхункIэ, а сыхьэт плIанэм нэхъ ухуэныкъуэщ. Нэхъ иужькIэ, зыгуэркIэ узыгъэпIейтей Iуэху псомкIи Зиусхьэным удэгуэшэну щIэбдзэ хъужыкъуэмэ, а дакъикъэ пщыкIутхур сыхьэт ныкъуэм хуэкIуэнщ, икIи уэ зэуэ зыхэпщIэнщ уи Iуэхухэр зэрефIакIуэм. Сэ езым си щхьэкIэ згъэунэхуащ а жысIэр. Языныкъуэхэм деж сэ мыращ къысщыщIыр: сыкъэтэджыну  сыхунэмысу, телефоныр къозу. ИтIанэ газетхэр, адэкIэ аргуэру телефоныр. Ауэрэ зыгуэр къыщIохьэ. Апхуэдэу щыхъуам деж махуэ псор сыIэрпхъуэру согъакIуэ, сщIэри дахэдахэу къызэхъулIэркъым. ИкIи абдеж къызогубзыгъыж: сэ Хьисэ  сепсэлъакъым иджыри, Езыми зы псалъэ къызжиIэну Iэмал естакъым! Дауэ итIанэ зыгуэр къызэрызэхъулIэнур?

         КъывгурыIуэрэ, уи закъуэ зыпщIу щэхуу Хьисэ уепсэлъэнри чыристан гъащIэм и щхьэ закъуэ лъэныкъуэ дыдэу щытщ!

         Абы нэмыщI, чыристан гъащIэм и щхьэ закъуэ лъэныкъуэм хохьэ махуэ къэс уипкъри уилъри жорым епIулIын зэрыхуейри. Сэ си гъащIэм къриубыдэу цIыхухэм куэдрэ сепсэлъащ. ИкIи, зэрыхабзэу, дэтхэнэри зыгуэр щхьэкIэ тхьэусыхэрт. Фызхэр ялIхэм щхьэкIэ тхьэусыхэрт. ЛIыхэр я фызхэм щхьэкIэ тхьэусыхэрт. Адэ-анэр я быным щхьэкIэ тхьэусыхэрт. Бынхэр къэзылъхуахэм щхьэкIэ тхьэусыхэрт. Дэтхэнэми и насыпыншагъэмкIэ нэгъуэщI игъэкъуэншэну хэтт. Ауэ фи фIэщ сыфщI, а сыхьэт плIанэ щэху жыхуэсIар къэвгъэсэбэпын щIэвдзэмэ, Зиусхьэным фигъэлъагъужынщ фи насыпыншагъэ псори фэ езым фызэриIэужьыр. Фи унагъуэ гъащIэр щIэмыхъур Тхьэм и унафэхэм тету фыпсэуркъыми, аращ. ЛэжьапIэм уи Iуэху щыдэмыкIмэ, Тхьэм и унафэхэм утеткъыми, аращ. Чыристанхэм зрагъэсапхъэщ махуэ къэс я хьэл-щэныр жорым ираIулIыфу. 

         Мыр фхуэсIуэтэжыну сыхуейщ: Эссен щыщ щIалэгъуалэ гуп сщIыгъуу махуипщIкIэ зыдгъэпсэхуа къудейщ. Хуабжьу хъарзынэу дгъэкIуащ зэманыр. АпхуэдизкIэ дынасыпыфIэти, ар къэпIуэтэжыну гугъущ. Дахэ дыдэу екIуэкIащ псори. Ауэ иужьрей махуэм Зиусхьэным и пщыхьэщхьэшхэр дгъэлъапIэурэ, куэдыр зыр адрейм елъэIуу хуежьащ, къыхуагъэгъуну. Сэри щым сабгъэдыхьэри селъэIуащ губжьауэ сепсэлъауэ зэрыщытар къысхуагъэгъуну. Абыхэм ядэртэкъым: «Уэ узахуэт, дэ къэдлэжьат», - жаIэрт. ИтIани селъэIуащ къысхуагъэгъуну. КъывгурыIуэрэ, си дежкIэ тынштэкъым илъэс 20 фIэкIа мыхъу щIалэщIэхэм я пащхьэ зыщызгъэщхъыну, ауэ апхуэдэу сымыщIауэ сигу зэгъакъым.

         Хьисэ щыму фепсалъэмэ, фэ фесэнущ махуэ къэс фи хьэл-щэныр жорым ефIулIу. Абы щыгъуэ фытыншыжынущ, фи гур псэхужынущ. Ар чыристан гъащIэм и щхьэзакъуэ лъэныкъуэ дыдэм щыщщ. Ауэ фэ а псор фимынэIуасэмэ, чыристанкIэ фызэджэжыныр къэвгъанэ.

         Плъагъуркъэ, куэдрэ, уэрамым срикIуэурэ, согупсыс: сызыхуэзэ цIыхухэр чыристанкIэ зоджэж, къанэ щIагъуэ щымыIэу псоми члисэм иратыпхьэ хьэкъыр ират, ауэ иджыпсту сэ зыгуэр къэзгъэувыIэу: 

-              Къысхуэгъэгъу! Уэ учыристан? - жысIэу сеупщIамэ, абы жэуапу къызитыжынт: 

-              Дауи, сымуслъымэнкъым!» - жиIэнти. Ауэ адэкIэ:

-              КъэдаIуэт, узэрычыристаным щхьэкIэ узэрыгуфIэм къыхэкIыу, жеиншэу жэщ бгъэкIуэну къыпхуихуа? - жысIэу сеупщIатэмэ, си акъылыр зэкIуэкIауэ жаIэу къызэщынт. Абы  къикIыр мыращ: гуфIэгъуэ зыхэмыль чыристаныгъэ. ИкIэм къихуамэ, чыристанхэм члисэм хьэкъ етын зэрыхуейр зэрафIэмыфIыр къагъэлъэгъуэф,  ауэ гуфIэгъуэм и нэщэнэ лъэпкъ ядэплъагъуркъым. ЩIэрыщIэу фыкъыщалъхужынум деж фэ къэфщIэнщ мы псалъэхэм къарыкIыр: «Дапщэщи ЗиусхьэнымкIэ фыгуфIэ, иджыри жызоIэ:

фыгуфIэ!»

         Си щIалэщIэхэм ящIыгъуу, Библием щыщ псалъэ телъыджэхэм иджыблагъэ сыкъеджащ: «Фэ, Сэ си цIэм пщIэшхуэ къыхуэзыщIхэм папщIэ, щыпкъэныгъэм и дыгъэр къыкъуэкIынущ - апхуэдэу щытыр Хьисэщ, - икIи Абы и бзийхэм фагъэхъужынущ». Ар зэрыфIыщэ! АдэкIи итым фыщыгъуазэу пIэрэ? АдэкIэ итыращ: «...икIи фэ фыкъыщIэкIынщи, фыкъэджэгунщ, шкIащIэ гъэшхахэм ещхьу». Сэ куэдрэ сарихьэлIэркъым ХьисэкIэ гуфIэу «шкIащIэ гъэшхахэм ещхьу джэгу» чыристан. Сыт-тIэ ар къызыхэкIыр, сыт дэ дыщIэмыгуфIэфыр? Iуэхур здэщыIэр дэ жыжьэрэ гъунэгъуу дычыристан нэскъыми, аращ! Сэ сигу къокIыж фIыуэ слъагъу си анэр. Ар ЗиусхьэнымкIэ дапщэщи гуфIэу щытащ. Сигу къокIыж си гъащIэм сызыщрихьэлIа нэгъуэщI чыристан нэфIэгуфIэ Iэджи. Нэхъ жьы сыхъуху, сэр дыдэми ЗиусхьэнымкIэ нэхъ гуфIэгъуэ нэхъыбэ зыхэсщIарэт, жысIэ зэпытщ. Ауэ апхуэдэу хъун щхьэкIэ, чыристаныгъэр уи фIэщу къэпщтапхъэщ, щхьэтегъэлъэф чыристаныгъэкIэ арэзы умыхъуу!

         Аращи, мыр чыристаныгъэм и зы лъэныкъуэщ. Щыту пIэрэ чыристаныгъэр щхъэ закъуэ Iуэхуу? Дауи, щытщ!

         Ауэ девгъэплъыт маркитху хъу ахьшэм и адрей лъэныкъуэми. Чыристан щытыкIэ пэжым нэгъуэщI зы лъэныкъуи иIэщ, цIыху псоми ялъагъуу.

 

 

2. Чыристаныгъэр цIыху куэдым хуэгъэза Iуэхущ

 

         Чыристаныгъэр цIыху куэдым хуэгъэза  лъэныкъуэ хъужыр чыристанхэм я зэIущIэм ухыхьэнырщ. Иджыпсту жысIэнум мыхьэнэшхуэ иIэщ: чыристан пэжхэр къелыну хуей адрейхэм яхохьэ.

                            Тхьэмахуэ махуэ къэс тхьэкъулыкъу йокIуэкI. Уэ щхьэ ухэмыхьэрэ абы?

«Сэ тхьэкъулыкъум радиокIэ содаIуэ», - жэуап къыбот уэ. 

         Сэ сымаджэхэм я Iуэху зесхуэркъым, ахэр ягу хэхъуэу иредаIуэ радиокIэ къат тхьэкъулыкъум. Ауэ уэ тхьэкъулыкъу нэсым, чыристан зэIущIэм узыIэпамышэмэ, уигу-уипсэкIэ уиIэ щытыкIэр тхьэмыщкIэ дыдэу аращ.

         Мэссихь къалъхуу илъэс 300 дэкIа нэужь - ар зэман Iэджэ япэкIэщ, - Рим империе иным и императору щытащ  Диоклетиан зи цIэ цIыху гъэщIэгъуэныр. Ар зэгуэр пщылIу щытащ, ауэ щхьэхуит ящIа нэужь, къулыкъукIэ зиIэтурэ, икIэм-икIэжым, рим император хъуащ. А зэманым ирихьэлIэу чыристаныгъэм зиубгъуат. Диоклетиан фIыуэ щыгъуазэт езым япэ итахэм чыристанхэр зэрахуэу зэрыщытам. Ауэ ар апхуэдэу делэтэкъым, цIыху нэхъыфI дыдэхэр зэхэзехуэн ищIын хуэдэу. ЦIыхухэм сыт я фIэщ ящIыну хуейми, иращI. Императорыр апхуэдэ IуэхуеплъыкIэ тету куэдрэ къэхъуртэкъым, сыту жыпIэмэ, зэрыхабзэу, тепщэхэр хущIокъу цIыхухэм я гупсысэхэри езыхэр зыхуейм трашэну. Диоклетиан императорым зы дэIэпыкъуэгъу щIалэ иIэт, ГалериускIэ еджэу. Езым и ужькIэ, арат император хъун хуейр. А Галериусым  Диоклетиан зэгуэр къыжреIэ: 

-              КъэдаIуэт, Диоклетиан, чыристанхэр ищIыIу къэхъумэ, псори хуабжьу зэхэзэрыхьынущ. Ахэр зэпымыууэ топсэлъыхь езыхэм я пащтыхь Хьисэ.

Абыхэм зыгуэркIэ дапэувын хуейщ! 

Ар идакъым Диоклетиан: 

-              Сыгъэпсэу! Си япэ итахэм илъэс 250-кIэ чыристанхэр зэрахуати, пэлъэщакъым. Сэри зыри схуещIэнукъым абыхэм. 

Губзыгъэу жиIат. Ауэ Галериус кIэрыкIыртэкъым:

-              Чыристанхэр адрей цIыхухэм ещхькъым. Абыхэм жаIэр дэ димыIэу, езыхэм Тхьэм и Псэ ЛъапIэ я гум илъу, езыхэр лъапIэу, адрейхэр мылъапIэу жаIэ. Ахэр цIыху зыкъызыфIэщIыжащ. Абыхэм я бийуэ зыгуэр умылэжьу хъунукъым! 

АрщхьэкIэ Диоклетиан аргуэру идакъым чыристанхэр зэхэзехуэн ищIын. Галериус итIани абы и тхьэкIумэр игъэвууныр пичакъым, Диоклетиан къытригъэхьэхункIэ: 

-              Хъунщ-тIэ, чыристанхэм зэIущIэ ящIу ддэнкъым. 

Арати, унафэ къыдэкIащ: 

-              Хэт хуейми, чыристану щытыну хуитщ. Ауэ чыристанхэм зэIущIэ ирагъэкIуэкI хъунукъым. А унафэр зыкъутэр яукIынущ.

Дэтхэнэри хуитт езым и щхьэ чыристану хущытыжыну, зэрыжаIэу, щхьэж зэрыфIэфIт, ауэ гупу зэхыхьэу ядэнутэкъым! Апхуэдэу щыхъум, чыристанхэм я нэхъыжьхэр зэхуэсащ зэчэнджэщыну: 

-              Сыт тщIэнур? Яхудэтчыхмэ, нэхъыфIу пIэрэ? Дэтхэнэми езым и унэ сыт щищIэжынуми хуитщ. АбыкIэ зыри къытпэрыуэнукъым. 

Псом нэхърэ нэхъ гъэщIэгъуэныр зэхэзехуэн щащI зэманым псэуа чыристанхэм мыпхуэдэ унафэ зэращIарщ: 

-              Тхьэм елъэIун, уэрэд жаIэн, уаз щIэдэIун, Тхьэм и Псалъэ едэIуэн папщIэ, зэхуэсын хуейщ. Ар чыристаныгъэм къыкъуэпч мыхъун и Iыхьэщ. Дэ дяпэкIи зэIущIэ едгъэкIуэкIынущ!

ИкIи щамыгъэтауэ адэкIи зэхуэсырт чыристан гупхэр. Галериус и гур хэхъуэу жиIэрт: 

-              Плъагъуркъэ, Диоклетиан! Ахэр къэрал щIэпхъаджащIэхэщ! Ахэр жыIэдаIуэкъым! 

ИкIи  абдеж щыщIидзащ чыристанхэр гущIэгъуншэу ягъэкIуэдыным. 

                         Абы щыгъуэ куэдыр къикIуэтыжащ, мыр жаIэурэ: 

-              Уи уни ущычыристан мэхъу! ДыкIуэнукъым дэ зэIущIэхэм!

АбыкIэ я гъащIэр яхъумэжащ. Ауэ чыристан гупхэм къалъытащ ахэр къапыхужауэ: 

-              Чыристан зэIущIэм емыкIуалIэр пыхужауэ аращ.

         Ар иджырей чыристанхэм яжеIапхъэщ. Абыхэм куэду яхэтщ апхуэдэу пыхужахэр. Захуэт а лъэхъэнэм и чыристанхэр император унафэм щыхуэмыIурыщIам щыгъуэ! Библием гурыIуэгъуэу итщ: «Зыгуэрхэм зэрахабзэу, фи зэIущIэхэр къэвмыбгынэ!» Иджыпсту жыIапхъэщ: «Къанэ щIагъуэ щымыIэу, псоми зэрахабзэу!» Абы къыхэкIкIэ, сэ къелыну хуей псоми сыныволъэIу чыристану щытыну я фIэщу хуейхэм гъусэ захуэфщIыну! Абыхэм гъусэ зэрызахуэпщIын, уазэригъусэн Iэмал куэд щыIэщ. ЩыIэщ члисэ гупхэр. ЩыIэщ Библием тепсэлъыхь унагъуэ гупхэр. ЩыIэщ цIыху куэдым хуэгъэза зэщIэхъееныгъэхэр, щIалэгъуалэ зэхуэсхэр. Сэ хуабжьу сыныволъэIу гъусэ къэфлъыхъуэну! Француз гуэрым зэгуэр къызжиIэгъащ: «Иныкъуэхэм яфIэфIу бдзэжьей шыугъэ яшх, иныкъуэхэр яфIэфIу члисэм макIуэ». Ауэ гушыIэ хэмылъу жыпIэмэ: языныкъуэхэр жыхьэнмэм макIуэ, адрейхэр чыристанхэм яхохьэ. Аращ Iуэхур ипэжыпIэкIэ зытетыр! Фэ пэж дыдэу Хьисэ и гъуэгу фрикIуэну фыхуеймэ, фи дин пашэм деж фыкIуи, феупщI, хэт фыхыхьэмэ, нэхъыфIми, Хьисэ теухуауэ нэхъыбэ дэнэ щызэхэфхынуми. ФыкIуэ КъегъэлакIуэм и гугъу щызэхэфхынум! Зиусхьэн Хьисэ фIыуэ зылъагъу цIыхухэр дэни щыIэщ. Ахэр мыкуэдынкIи хъунщ. Зэзэмызэ ахэр цIыху гъэщIэгъуэну щытынкIи хъунщ. Ауэ фи чыристан щытыкIэр псэншэу щытынущ, чыристанхэм фахэмытмэ!

Чыристанхэм я зэхыхьэ нэсым мыхэращ хэлъ хабзэр: япэрауэ - дин уэрэд зэдыжаIэныр, етIуанэрауэ - Тхьэм и Псалъэм щIэдэIуныр, ещанэрауэ - тхьэлъэIу, еплIанэрауэ - Тхьэм хуэфащэ ахъшэ тыныр. Аращ япэрей чыристанхэри зэрызэхэтар. Ар Тхьэм къыбгъэдэкI гъащIэм и екIуэкIыкIэщ.

 Чыристаныгъэ нэс здэщыIэр ахэр щызэхыхьэращ. Библием  уеблэмэ мыр итщ:  «Ди къуэшхэр фIыуэ зэрытлъагъум щхьэкIэ лIэныгъэм дыIэщIэкIыу гъащIэм дызэрыхыхьар дощIэ», - жеIэри. Абы къикIыращ: адрей чыристанхэм сащIыгъуарэт, жызымыIэр иджыри игукIи и псэкIи псэншэу аращ! 

Иджыри къэс си гум ихужыркъым дин пашэу къулыкъум къызэрыщIэздзар - абы щыгъуэ сэ Билефельд и куажэхэм ящыщ зым и дин пашэм сридэIэпыкъуэгъут. Члисэм мащIэт щызэхуэсыр тхьэкъулыкъум хэтыну. Ауэ, мис, Тхьэ IэмыркIэ, щэбэт пщыхьэщхьэ гуэрым сэ Iэмал згъуэтащ лэжьакIуэхэм я клубым жэщым сыхьэтыр зы хъуху сахэпсэлъыхьыну. Сыхьэтыр зы щыхъум, клубыр зейм уэрамым дыкъыдихуащ. Уэшх къешхырт. Япэ дыдэу сэ си хъуреягъкIэ зэхуэсауэ зэхэтт цIыхуихъуи 100-м нэс, ахэр куажэм дэт фабрикэхэм я лэжьакIуэхэт. Дэ уэздыгъэ лъабжьэм дыщIэтт. Ахэр къызэупщIырт, сэ жэуап естыжырт. Дэ дытепсэлъыхьырт Хьисэ, ар нэгъуэщI дуней къызэрикIам. Дэ дытепсэлъыхьырт ахэр зэрынасыпыншэм, абыхэм гуэныхь ятемылъу зэрыжаIэр зэрымыпэжым, абыхэм, къапщтэмэ, хьэдрыхэмрэ Тхьэм и хьэкумрэ зэрыщыIэр я фIэщ зэрыхъум. Жэщыр сыхьэтитIым деж сэ жысIащ си унэ сызэрыкIуэжыр. Пщэдджыжь, сыхьэтипщIым и ныкъуэм, тхьэкъулыкъу езгъэкIуэкIын хуейуэ къыспэщылът.

-              Сэ сощIэ, фэ псори абы дэрэжэгъуэшхуэ фхэлъу фыкъызэрекIуэлIэнур, зыр адрейм фыщышынэжу щымытыгъамэ, - яжесIащ сэ абыхэм. Ахэр Вестфалие хэкум щыщ цIыхут. Си пащхьэм къитт лъэжьакIуэ Б. А зэманым абы илъэс 35–рэ и ныбжьт, вестфалие цIыхухэм я хьэл нэс хэлът абы.

-              Сэ зыгуэрым сыщышынэуи? - къызитащ абы жэуап. - Ар жумыIэххэ!» 

-              УмыпIейтей, ныбжьэгъу, - хуэздакъым сэ, - члисэм тхьэмахуэ махуэм унэкIуатэмэ, блыщхьэ махуэм фабрикэр зэрыщыту къыпщыдыхьэшхынут. Уэ абы ущошынэ!

-              Сыщышынэркъым!» - иджыри нэхъ трикъузащ абы. Ауэ итIани шэч къыщытесхьэм, абы жиIащ: 

-              Ерэхъу! Пщэдей сынэкIуэнщ, дин уэрэдхэр зэрыт тхылъыр сIыгъыу! 

Тхьэмахуэ махуэ пщэдджыжьым, дызэрызэпсалъэрэ сыхьэт зыбжанэ нэхъ дэмыкIауэ, а вестфалие цIыхур тхьэкъулыкъум хэтыну ежьауэ уэрамым ирокIуэ, тхылъ жыхуиIари IэщIэлъу! А хьэблэм дэс псори зэрыцIыхурт.

Блыщхьэ пщыхьэщхьэм ар си деж къыщIохьэри, къызжеIэ: 

-              Уэ жыпIар пэжт, фабрикэм куэд шызагъэшэчащ члисэм сызэрыкIуам щхьэкIэ! Иджы сэ гу лъыстащ ди деж щызекIуэ террорым: щхьэхуитыныгъэм теухуауэ дыкIий-дыгуоу щхьэкIэ, дыпщылI щхьэхуимыт тхьэмыщкIэу аращ дэ. Ауэ сэ сызытетым сахутекIакъым. Хьисэ теухуауэ нэхъыбэIуэ къызжеIэ иджы !

Мис арат япэу си деж фэрыщIагъ хэмылъу фIэщхъуныгъэ зиIэ щыхъуар.

         Псоми я щIэдзапIэ хъуар ар члисэ гуп тхьэмыщкIэ цIыкIум я тхьэкъулыкъум къызэрекIуэлIарщ. ИкIи, мис, зы тегушхуа нэужь, нэгъуэщIхэри къакIуэу хуежьащ. Псым жапIэ игъуэтат, IущIапIэр Iуиудри. Тхьэм и нэфI нэгъуэщI куэдми щихуащ. Ауэ сэ гу лъыстат а лэжьакIуэхэр дэ, чыристанхэм, къытхыхьэным тегушхуэн папщIэ, къаруушхуэ ирахьэлIэн хуей зэрыхъум.

          Сэ фэ хуабжьу сыныволъэIу фи псэр къела хъун щхьэкIэ, чыристан гупхэм фахыхьэну. Члисэхэмрэ дин пашэхэмрэ е чыристан гупхэмрэ гуп унафэщIхэмрэ срапропагандисту къызыщывмыгъэхъу, псом япэу сэ зи Iуэху зесхуэр фэ фыкъызэрела зэрыхъунырщ!

         ЕтIуанэу чыристаныгъэ нэсым и лъэныкъуэ цIыхухэм я пащхьэ итым хыхьэр: Хьисэ Мэссихь и гъуэгум дызэрырикIуэм цIыхухэм ди жьэкIэ яжетIыпхъэщ.

         Дэ щытыкIэ мыфэмыц дихуащ, члисэм хьэкътын ахъшэр еттмэ, ди Iуэху абыкIэ зэфIэкIауэ, ХъыбарыфIым зегъэубгъуныр, ар цIыхухэм яхэхьэныр дин пашэм и закъуэ и пщэ къыдэхуэу къызыщыдгъэхъури. Сэ хуабжьу сыхуейт а члисэ хьэкъ хэхыныр згъэувыIэну, нэхъыщхьэр зэрыамырар, атIэ ХъыбарыфIым и къарум зегъэужьыныр, Хьисэ и цIэр дэнэ дыщыIэми - IуэхущIапIи, еджапIи, къулыкъущIапIи, къыщедгъэцIы-хуныр зэрыарар чыристанхэм, Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэм, ящIэну, ар дин пашэм и закъуэ и Iуэхуу зэрыщымытри къагурызгъэIуэну. Фэ езыр зыщIыпIэ щыхьэт фыщытехъуауэ пIэрэ Хьисэ пэж дыдэу зэрыпсэум, хъуанэцIанэ къыбжьэдэкIыну зэрыгуэныхьым, анекдот цIапIэхэр пIуэтэныр Тхьэм и пащхьэм зэрыщыемыкIум? ЗыщIыпIэ щывгъэлъэгъуауэ пIэрэ фэ фи гъащIэр Хьисэ зэрыIэщIэлъыр? ЦIыхухэр абы Iэмал имыIэу щтэIэщтаблэ ищIынт. ВжесIэн хуейщ ди КъегъэлакIуэм и гъуэгум дызэрырикIуэми и хъыбар цIыхухэм яжетIэну лIыгъэ къыткъуэмыкIмэ, дэ дызэрымычыристан нэсыр!       Быдэу фыкъедаIуэт Хьисэ жиIэм: «... Сэ си гъуэгу ирикIуэхэм зэращыщыр цIыхухэм я пащхьэм щыжызыIэ дэтхэнэри си гъуэгу ирикIуэхэм зэращыщыр си Адэу уафэм щыIэм и пащхьэм сэри щыжысIэнущ. Си гъуэгу ирикIуэхэм ящымыщу цIыхухэм я пащхьэм щыжызыIэ дэтхэнэри си гъуэгу ирикIуэхэм зэращымыщыр си Адэу уафэм щыIэм и пащхьэм сэри щыжысIэнущ!

         Сыту хэплъэгъуэ хъуну Iуэхур, зэгуэр, хьэкум махуэм, чыристанкIэ зэджэжу щытахэр къэуврэ: 

-              Зиусхьэн Хьисэ! Уэ си фIэщ ухъуу щытащ! - жаIа нэужь, Хьисэ Адэм:  - Сэ ахэр сцIыхуркъым! - жриIэмэ. –  - Зиусхьэн Хьисэ, ар дауэ, сэ ... 

-              Сэ уэ усцIыхуркъым! Уи гъунэгъум ищIэртэкъым жыхьэнмэ гъуэгу зэрытетыр! Уэ ар жепIакъым абы, гъащIэм ухуэзышэ гъуэгур пцIыху пэтрэ! ЦIыхухэм уащыхэтым, уи жьэр зэтенауэ ущытащ, ар къызэтепхыу КъегъэлакIуэм и хъыбар яжепIэн хуей пэтрэ! 

Фэ фымыдэнри хэлъщ абы: 

-              Сэ езым си фIэщхъуныгъэри махэт, ар нэгъуэщIхэм зэражесIэн къару сиIэтэкъым, - жыфIэу. 

Абы Зиусхьэн Хьисэ жэуапу къритынур мыращ: 

-              Уи фIэщхъуныгъэр махэми, итIани абыкIэ пхулъэкIыр пщIэн хуеящ! ФIэщхъуныгъэ махэми КъегъэлакIуэ лъэщ иIэщ! Уэ цIыхухэм яхэпхьэнур уи

фIэщхъуныгъэр аратэкъым, Сэрат! Сэ уэ усцIыхуркъым!                                              

-              Сэ си гъуэгу ирикIуэхэм зэращыщыр цIыхухэм я пащхьэм щыжызыIэ дэтхэнэри си гъуэгу ирикIуэхэм зэращыщыр си Адэу уафэм щыIэм и пащхьэм сэри щыжысIэнущ. Си гъуэгу ирикIуэхэм ящымыщэу цIыхухэм я пащхьэм щыжызыIэ дэтхэнэри си гъуэгу ирикIуэхэм зэращымыщыр си Адэу уафэм щыIэм и пащхьэм сэри щыжысIэнущ» - аращ Хьисэ жиIар. Абы пцIы иупс хабзэкъым! Дапщэщ-тIэ аргуэру ди жьэ зэрызэтетхын лIыгъэ къыщытлъыкъуэкIынур?

         НэгъуэщI зы хъыбари фхуэсIуэтэнут. Тхьэмахуэ зыбжанэ и пэ сэ Рур щIыналъэм и зы къалэ гуэрым сыкъыщыпсалъэрт.

         ЗэIущIэр зи хьэрычэткIэ къызэзгъэпэщар машинэхэмкIэ IэщIагъэлI щIалэт, си ныбжьэгъу Густавт. А Густав Хьисэ и щыхьэт нэс, щыхьэт насыпыфIэ щIэхъуфар Хьисэ и гъуэгум зэрырикIуэр и чэзууэ цIыхухэм яжриIэну зригъэсати, аращ. Блыщхьэ пщэдджыжькIэрэ, зэрыхабзэу, лъэщапIэм щызэхуэсхэм щхьэж езым зэхищIыхьа цIапIагъэхэр яIуэтэж. Зым жеIэж замыщIэжу зэрефар, адрейр цIэ Iей зытеIукIа цIыхубз гуэрхэм зэращIыгъуам топсэлъыхьыж. 

-              Уэ дэнэ ущыIа, сыт пщIа, Густав? - къеупщIащ ахэр а зэманым гъэсэну щIэта щIалэм. 

-              Сэ пщэдджыжьым тхьэкъулыкъум сыщыIащ, - яритащ жэуап абы, - шэджагъуэнэужьым дин пашэ Буш и щIалэгъуалэ гупым сыхэтащ. 

Ар щызэхахым, ихъуреягъкIэ къыщыдыхьэшхыу, къыщIэнакIэу ирагъажьэри, еджакIуэ цIыкIур ищIэнур имыщIэжу къагъэнащ. И ныбжьэгъухэри я унафэщIри зэхыхьауэ ауан къыздащIым, ар, и гур губжьым зэщIиубыдауэ, йогупсыс:

-              Сыт чыристанхэм уащыхэтым деж сыт хуэдэ цIапIагъи жыпIэ щIэхъур, ауэ КъегъэлакIуэм утепсэлъыхь щIэмыхъур?!

Абдеж абы игу ирелъхьэ лъэщапIэм щылажьэхэр Хьисэ и лъэныкъуэ къищIыну. Абы и еджэгъухэм деж къыщыщIидзащ, абыхэм ящыщ языныкъуэхэм яжриIащ ахэр я занщIэр я гъуэгуу жыхьэнмэм зэрыкIуэр икIи иригъэблэгъащ щIалэгъуалэ гупым кIуэуэ Хьисэ и хъыбар едэIуэну. Еджэн иухыу экзамен щитыжам, ар мастер щыхъуам щыгъуэ я лъэщапIэм къыпхуэмыцIыхужыну зихъуэжат. Сэ езым си щхьэкIэ слъэгъуащ ар. ЕджакIуэу хъуар ди щIалэгъуалэ гупым хэтт иджы. ЛъэщапIэм анекдот цIапIэ щиIуэтэну иджы зыри тегушхуэжыртэкъым. ЛэжьапIэ щIэуэ къэувахэм ящыщ гуэрым псалъэмакъ фIей къригъажьэ хъумэ, ар зэпаудырт: 

-              Уи жьэр зэщIэпIэ! Густав къокIуэ модэкIэ! - жаIэрти.

Псоми пщIэ къыхуащIырт. Абы къулыкъу хъарзынэ иIэщ иджыпсту - машинэхэм щелэжь лъэщапIэшхуэм и унафэщIщ. Мис апхуэдэу Тхьэр абы и щхьэ IуэхукIи къыдэIэпыкъуащ. 

                          Иджыри зэ сыщIоупщIэ: 

-              Зи жьэ зэтезыхыу Хьисэ и хъыбарыфI жаIэну тегушхуэфыну чыристанхэр дэнэ здэщыIэр, икIэм-икIэжым?!

Мис ар зэрыдлэжьыфым хуэдизкIэщ дигукIи ди псэкIи нэхъ ин дызэрыхъуфри! Чыристаныгъэр щхьэ закъуэ Iуэхуу пIэрэ? Хьэуэ! Хьисэ и цIэр дэ дунейм и цIыхухэм яхуэтIуэтапхъэщ. Фи жьэ хьэкъурт жьэдэлъ хуэдэ, зыри жывмыIэу фыщысыныр къэвгъанэ! Арыншамэ, къемэтмахуэм Хьисэ и щIыб къыфхуигъэзэнщ! 

         Ещанэ рейхым и лъэхъэнэу илъэс 16-17 фIэкIа зи мыныбжь си щIалэ цIыкIухэр дзэм щызэщIакъуэм щыгъуэ сэ дэтхэнэми Библие тхылъ цIыкIу тыгъэу естурэ яжесIэрт: 

-              Фымыбэлэрыгъ! Фи къулыкъум щIэвдза нэужь, япэ пщыхьэщхьэ дыдэм фи Библиер Iэнэм тефлъхьэ, псори зэхэту ар къызэгуэфхи, фыкъеджэ. Ар зымыдэн Iэджи щыIэнщ. Ауэ етIуанэ махуэм абыхэм фатекIуэнущ. Япэ махуэм а зэрыжысIам хуэдэу фымыщIмэ, текIуэныгъэ напафэкIэ фытеплъэнукъым! ЩIалэ зыжесIахэм апхуэдэу ящIащ. Япэ дыдэ махуэм Библиер Iэнэм къыщызэгуахащ. 

-              Сыт а узэджэр?!» - Библиерщ! 

Ар зэхэзыххэм лагъым къауэ макъыу къащыхъурт, сыту жыпIэмэ нэмыцэ чыристанхэм сыт хуэдэ цIапIагъи къахуеджэ, ар мыбиблие закъуэмэ. Си ныбжьэгъу Паул - ар хэкIуэда мыгъуэщ зауэм - къыщыщIауэ щытащ мыр: 

-              КъыкIэлъыкIуэ пщэдджыжьым и шкафым дэплъэри, Библиер дэлъыжтэкъым. КъызэплъэкIати, псори щIэгуфIыкIырт. 

-              Си Библиер фэ вдыгъуа? - щIэупщIащ ар. - Дэнэ ар здэфхьар? 

-              Обер-фельдмейстрым иIыгъщ! 

Паул абдеж къыгурыIуащ бэнэныгъэ гуащIэ иригъэкIуэкIын хуей зэрыхъунур. Пщыхьэщхьэм лъэныкъуэегъэз зищIри Тхьэм елъэIуащ: «Зиусхьэн Хьисэ, сэ мыбы  сыщизакъуэщ. Илъэс 17 сыхъуа къудейщ. СынолъэIу сыкъомыбгынэну! ДэIэпыкъуэгъу къысхуэхъу уи хъыбар яжесIэнымкIэ!» Абы и ужькIэ обер-фельдмейстрым деж макIуэри, и бжэм тоуIуэ. 

-              КъыщIыхьэ!» - зэхех абы.

         Обер-фельдмейстерыр тхапIэ стIолым бгъэдэсщ, абы Паул и Библиер телъщ. 

-              Сытыт узыхуейр?

-              Зиусхьэн обер-фельдмейстер, кхъыIэ, си Библиер къызэтыж. Ар сэращ зейр!

Абы Библиер къещтэри къызэрегъэдзэкI. 

-              ЗэрыжыпIэмкIэ, ууейщ-тIэ мыр?! Уэ ущымыгъуазэу ара мыр хуабжьу зэрытхылъ шынагъуэм?

-              Аращ, зиусхьэн обер-фельдмейстер, сыщыгъуазэщ. Ар уеблэмэ IункIыбзэ етакIэ шкафым дэлъми, итIани шынагъуэщ. Уеблэмэ апхуэдэм дежи уегъэгузавэ абы!

Обер-фельдмейстерыр къотэдж:

-              ТIысыт!

ИкIи абдеж абы зыщеумысыж: 

-              Зы зэман гуэр сэри теологиер зджыну сыхэтащ. 

-              АтIэ, зиусхьэн обер-фельдмейстер, иджы фIэщхъуныгъэм и гъуэгум утекIауэ ара? - щIэупщIащ Паул. 

А тIур дахащэу зэдэуэршэращ итIанэ, икIи илъэс 40 хъум илъэс 17 фIэкIа мыхъу щIалэщIэм къыжриIащ езыр хуабжьу зэрынасыпыншэр, ауэ зыми къызэрыхуемыгъэгъэзэжынур, сыту жыпIэмэ куэдыIуэ фIэкIуэдынущ абы щыгъуэ. Абы и жэуапу щIалэщIэм жеIэ: 

-              Обер-фельдмейстер тхьэмыщкIэ! Хьисэ щхьэкIэ сыти зыфIэбгъэкIуэд хъунущ! 

-              Уэ уцIыху насыпыфIэщ! - къыжреIэри обер-фельдмейстерым щIалэщIэр къеутIыпщыж. 

-              Ар пэжщ, зиусхьэн обер-фельдмейстер! - жеIэри Паул и Библиер иIыгъыу къыщIокIыж. 

Абы и ужькIэ лагерым щыщу зы цIыхуми зы псалъэ къыжриIэжакъым!   Зи Iуэхур зэрыпхигъэкIыфын лIыгъэ зыхэлъ чыристанхэр дэнэ фыщыIэ мыгъуэ?!

         Чыристаныгъэр щхьэ закъуэ Iуэхуу щыту пIэрэ? Щытщ! ЩIэрыщIэу къалъхужыныгъэмрэ фIэщхъуныгъэкIэ упсэунымрэ гущIэ лъапсэм имыхьэнкIэ Iэмал иIэкъым!

         Чыристаныгъэр щхьэ закъуэ Iуэхуу пIэрэ? Хьэуэ. Чыристанхэр Тхьэм елъэIун папщIэ, зэхохьэ члисэ гупу, унагъуэ гупу, щIалэгъуалэ гупу, цIыхубз гупу, цIыхухъу гупу. Я Зиусхьэным и гъуэгум зэрырикIуэр цIыхухэм жраIэ чыристанхэм. Дунейм ищIапхъэщ Тхьэм МэссихькIэ мафIэ зэрызэщIигъэнар!

 

 

 

..

                       .