Библием къитхыжа хъыбархэр
Frank Penney: Bible Stories
Copyright c 1984 LionPublishing,England
Copyright c 1994 Kabardian Translation by «Licht im Osten»,
Postfach 1340, 70809 Korntal,Germany
Third edition 2010
Франк Пенни: Библейские рассказы на
кабардинском языке
Третье исправленное издание 2010
«Свет на Востоке», Корнтал, Германия
Франк Пенни: Библием
къитхыжа хъыбархэр: Пасэрей ЗэгурыIуэныгъэмрэ ХъыбарыфIымрэ
Ягъэунэхуа ещанэ тедзэныгъэ 2010
«КъуэкIыпIэм къыщыпс нэхунэ», Корнтал,
Германия
Пасэрей ЗэгурыIуэныгъэр
ТХЬЭМ ДУНЕЙР
КЪЫЗЭРИГЪЭЩIАР
Псом япэ Тхьэм уэгумрэ щIыгумрэ
къигъэщIащ. ЩIыгур нэщIыпст икIи кIыфIыпст. Ауэ Тхьэм ищIэрт
щIыгур дахащэ ищIыну лъэкIыныгъэ зэриIэр. Тхьэм нэхур
къигъэщIри, кIыфIыр абы къыщхьэщигъэщхьэхукIащ. Арати, Тхьэм
нэхум - махуэ, кIыфIым - жэщ яфIищащ. Тхьэм илъэгъуащ ар
зэрыхъарзынэр.
ЩIым и щхьэфэр зэрыщыту псыт. Тхьэм мурад
ищIащ а псы къомым и ныкъуэр щIым къытринэу, адрейм пшэ
къыхищIыкIыну.
Тхьэм уэгури къигъэщIащ, а пшэхэм
щхьэкIэ. Пшэхэр зэхыхьэурэ пшагъуэ хъуа нэужь, уэшхыр къошх.
Тхьэм илъэгъуащ ар зэрыхъарзынэр.
Псым щыщу щIы щхьэфэм къытена Iыхьэм
Тхьэм къыхищIыкIащ тенджызхэр, псыхъурейхэр, псыежэххэр.
Псыр дахащэт. Абы нэхур къытелыдыкIырт.
Тхъурымбэ бжыгъэншэузэхэт хыуалъэхэр тенджыз Iуфэм къеуалIэрт.
Языныкъуэ щIыпIэхэм деж хыуалъэр нэпкъым
апхуэдизкIэ ину къыжьэхэуэрти, ткIуэпс куэдыкIейуэ
зэбгрылъэтыкIырт. Арати, дунейм хыи тафи щыIэ хъуакIэт. Тхьэм
илъэгъуащ ар зэрыхъарзынэр.
Тхьэм тафэхэр къэкIыгъэ куэдыкIейкIэ
игъэнщIащ.
Гулъ щхъуантIэ цIыкIухэр къызэIукIщ,
къэкIыурэ зашэщIщ, щхьэмыжхэр къищIри, дыщафэ хъужауэ хьэдзэхэр
ирищIэжащ.
Жыгхэр хэт хужьу, хэт тхьэмбылыфэ дахэу
зэщIэгъэгъащ.
„Ар дэгъуэщ, - жиIащ Тхьэм, - куэд
дэмыкIыу пхъэщхьэмыщхьэхэр дунейм тез хъунущ - ахэр шхыныгъуэ
хъарзынэщ".
Жыгхэм зыкърашэкIат тхьэмпэ жьгъей
цIыкIухэр Iуву зытет лъэнтхъуийхэм. Хьэуар епэрымэ гуакIуащэкIэ
гъэнщIат. „ЩIыгур дахащэ хъунущ", - жиIащ Тхьэм.
Жыгей инхэм я къудамэхэр пхъафэ
пхъашэжьхэм щIагъэнащ. Къабзийм и тхьэмпэ бапхъэ кIыхьхэр
зэбгришиикIащ. Тхьэм илъэгъуащ ари зэрыхъарзынэр.
Тхьэм ищIэрт къэкIыгъэхэр нэхурэ хуабэрэ
зэрыхуейр. Арати, абы къигъэщIащ дыгъэр, дунейр къигъэнэхун,
къигъэхуэбэн щхьэкIэ. „Си къэкIыгъэхэр дыгъэм быдэ, бэшэч
ищIынущ, къигъэкIынущ, хигъэхъуэнущ", - жиIащ Тхьэм.
Тхьэр хуейт махуэу дыгъэр къыщепсым деж
жейрэ, жэщкIэ мыжейуэ хьэкIэкхъуэкIэхэр къигъэщIыну. Ахэри
хуэныкъуэнут нэху, ауэ дыгъэм хуэдэ дыдэу къепс нэхутэкъым
зыхуэныкъуэнур. Арати, Тхьэм мазэмрэ вагъуэхэмрэ къигъэщIащ.
Тхьэм илъэгъуащ ар зэрыхъарзынэр.
Тхьэм гу лъитащ хыуалъэхэр нэпкъым
къызэреуалIэм. Дыгъэм и нурхэм псыр пэлыдырт.
„Мыбдей ущыпсэуну дэгъуэщ, - жиIащ Тхьэм.
- Сэ къэзгъэщIынщ бдзэжьейхэр, псым щыбэгъуэн хуэдэу, къауц
щабэхэр зытет бзухэри къэзгъэщIынщ, хьэуам къыщалъэтыхьын
щхьэкIэ“. Тхьэм зэрыжиIауи Iуэхур хъуащ. Тхьэм илъэгъуащ ари
зэрыхъарзынэр.
„Иджы сэ къэзгъэщIынщ псэ зыIут жьгъей
куэд: гъудэбадзэхэр, хъумпIэцIэджхэр, зэщIэвууэжу бжьэхэр.
ИтIанэ, - къыщIигъуащ Тхьэм, - сэ къэзгъэщIынщ псэущхьэ
домбейхэр. Псалъэм папщIэ: пылрэ пэбжьакъуэврэ.
Языныкъуэ хьэкIэкхъуэкIэхэр хуэм дыдэурэ
зекIуэнущ, мис мы щхьэхынэбацэм ещхьу.
Адрейхэр хуабжь дыдэу жэфу щытынущ,
псалъэм папщIэ, мис мы щомыщым хуэдэу. Сэ хьэкIэкхъуэкIэ зэмыщхь
куэд къэзгъэщIынщ".
Абы зэрыжиIам хуэдэуи Iуэхур хъуащ. Хъуа
нэужь, Тхьэм илъэгъуащ ар зэрыхъарзынэр.
Языныкъуэ псэущхьэхэр Тхьэм къигъэщIащ цы
щабэ ятету, адрейхэмфэ быдэ ятелъу. Номинхэр кIэ кIыхьхэр япыту
къигъэщIащ, зы жыгым илърэ адрейм пкIэфу щытын щхьэкIэ.
Жьындухэм нэшхуэ яхуищIащ, щыкIыфIым дежи ялъагъуу щытын
щхьэкIэ.
Псым хэсри, хьэуам хэтри, тафэм тетри -
дэтхэнэ псэущхьэри дахащэт икIи нэщIысат. Тхьэр абыхэм еплъурэ
гуфIэрт. А къигъэщIа псом яхэплъэжри, Тхьэм илъэгъуащ ар
зэрыхъарзынэр.
ИкIэм-икIэжым, щIыгур хьэзыр хъуащ. „Иджы
сэ къэзгъэщIынщ цIыхухэр, мы щIыгум хъугъуэфIыгъуэу тет псом
щыгуфIыкIыу псэун щхьэкIэ“, - жиIащ Тхьэм. ИкIи къигъэщIащ
цIыхухъурэ цIыхубзрэ. Тхьэм илъэгъуащ ар зэрыхъарзынэр.
„Абыхэм бын къащIэхъуэнущ икIи абыхэм
зэрахьэнущ си щIыр“, - жиIащ Тхьэм. ЦIыхухъум абы фIищащ Iэдэм,
цIыхубзым - Хьэуа. Тхьэм Iэдэмрэ Хьэуарэ апхуэдизкIэ фIыуэ
илъэгъуати, яIуплъэху, ящыгуфIыкIырт.
Тхьэм Iэдэмрэ Хьэуарэ яригъэлъэгъуащ
псэущхьэрэ къэкIыгъу къигъэщIауэ хъуар, ахэр щалъагъукIэ, езым
къыдэгуфIэнхэ папщIэ.
„ФIыщIэ пхудощI псори зи IэщIагъэ, -
жаIащ Iэдэмрэ Хьэуарэ. - Уи щIыгур дахащэщ!“
Тхьэр щIыгум еплъри, жиIащ: „Пэж дыдэу
щIыгур дахащэщ! Иджы сэ къэзгъэщIам сыщыгуфIыкIыурэ зызгъэпсэху
хъунущ". Арати, Тхьэм и лэжьыгъэр зэпигъэури, къигъэщIам
щыгуфIыкIрэ зигъэпсэхуу щIидзащ.
Тхьэм дунейр къызэригъэщIам и тхыдэм фэ
щыгъуазэ зыщыфщI хъунущ БибЛеам щыщу Пасэрей ЗэгурыIуэныгъэм
(Ветхий Завет) хыхьэ, Мусэ бегъымбарым итха и япэ тхылъым и япэ
псалъащхьэм.
IЭДЭМРЭ
ХЬЭУАРЭ
Дунейр къигъэщIа къудейрэ щIыгур щIэрыпсу
щыщыта япэ махуэхэм щыгъуэ Тхьэм къыщикIухьырт и жыг хадэ
телъыджэм. Ар ящыгуфIыкIырт хьэкIэкхъуэкIэрэ бзууэ къигъэщIам.
Ауэ псом хуэмыдэжу ар иригуфIэрт цIыхухъурэ цIыхубзрэ
къызэригъэщIам. Ахэр абы и ныбжьэгъут икIи фIы дыдэу илъагъурт.
Iэдэмрэ Хьэуарэ - апхуэдэут а тIум зэреджэр.
Тхьэм абыхэм я пщэ ирилъхьащ и жыг хадэм
кIэлъыплъыну. ПщыхьэщхьэкIэрэ, пшапэр зэхэуэу хьэуар нэхъ
щIыIэтыIэ щыхъум деж, абыхэм Тхьэм хуаIуэтэжырт махуэм ящIауэ
хъуар.
Iэдэм хуабжьу игу ирихьырт абыхэм щхьэкIэ
Тхьэм къигъэщIа жыг хадэр. Ахэр къэкIыгъэхэм якIэлъыплъырт,
мэракIуэрэ нэгъуэщI пшхы хъууэ къапыкIэу хъуар къыпачырт.
Тхьэм Iэдэмрэ Хьэуарэ къажриIащ
кIэлъыплъурэ зэрыдахащэм иригуфIэу щытын щхьэкIэ, щIыр абыхэм
къазэрыхуигъэщIар. Iэдэмрэ Хьэуарэ цIэ фIащащ хьэкIэкхъуэкIэрэ
къуалэбзууэ щыIэ псоми. Ахэр абыхэм ядэджэгурт, псым
зыщагъэпскIырти, итIанэ уафэм щызекIуэ пшэхэм якIэлъыплъу куэдрэ
щылът. „Хадэм и курыкупсэм ит жыгым нэмыщI, адрей жыг псоми
къапыкIэухъуар фшхы хъунущ", - къажриIащ абыхэм Тхьэм зэгуэр.
Тхьэм абыкIэ уедэIуэныр тыншт, сыту жыпIэмэ хадэм гъунэжу итт
пхъэщхьэмыщхьэ IэфI куэд къызыпыкIэ нэгъуэщI жыгхэри.
Псэущхьэ псоми фIыуэ ялъагъурт Iэдэмрэ
Хьэуарэ, абыхэм къащымышынэу къабгъэдыхьэрт. Ауэ а хадэм ист зы
блэ бзаджэ, Iэдэмрэ Хьэуарэ ятеплъэ мыхъурэ а цIыхухэр Тхьэм
ныбжьэгъу зэрыхуэхъуар фIэмыфIу.
Арати, зэгуэрым а блэ бзаджэр Хьэуа
бгъэдэпщхьэри, мыпхуэдэу жриIащ:
„Хадэм и курыкупсэм ит мо жыгым къыпыкIэм
щыщ щхьэ пшхыуэ уемыплърэ? Тхьэм къывжиIакъэ хадэм ит жыг псоми
къапыкIэу хъуар фшхыну фыхуиту?“
„Жыг псоми къапытчурэ тшхы хъунущ, -
жэуап къритащ абы Хьэуа, - ауэ а жыгым къыпыкIэм щыщ зэи тшхы
хъунукъым, тшхымэ, дылIэнущ“.
„Ар зи фIэщ хъуа уэ сыту уделэ цIыкIу
мыгъуэ - Iущэщащ блэ бзаджэр. -УлIэнукъым! Абы къыпыкIэм щыщ зы
закъуэ нэхъ мыхъуми пшхымэ, езы Тхьэ дыдэм ещхьу губзыгъэ
ухъунущ. ЖысIэр уи фIэщ мыхъумэ, шхыи еплъ“.
Хьэуа, жыгым хуеплъэкIри, дзыхь
имыщIыщэурэ, абыкIэ игъэзащ. Игъазэщ, жыгым бгъэдыхьэри,
дэплъеящ. ПщIащэ щхъуантIэхэм къахэлыдыкIыу жыгым пытт хъупарэ
фоупскIэ гъэнщIауэ мыIэрысэ дахэшхуэхэр. Нэхъ и лъабжьэмкIэ зы
мыIэрысэшхуэ пытти, Хьэуа зишийурэ ерагъкIэ ар къыпичащ.
Хьэуа мыIэрысэр къыпичщ, и жьэм
хуихьри... едзэкъащ.
„Пэж дыдэу, мыр хуабжьу IэфIщ", - жиIащ
абы. Пабжьэм къыхэтIысхьауэ блэ бзаджэр Хьэуа къыкIэлъыплъырт.
Абы ирихьэлIэу, Iэдэм Хьэуа
къыбгъэдыхьэри, табу зытелъ жыгым къыпичауэ мыIэрысэ зэришхыр
къилъэгъуащ. „Мыр адрейхэм нэхърэ IэджэкIэ нэхъ IэфIщ, едзакъи,
еплъыт", - жиIэри Хьэуа мыIэрысэр къишиящ. Къыщишийм,
ехъуапсэри, Iэдэми едзэкъащ.
Блэ бзаджэр гущыкIыгъуэу пыдыхьэшхыкIащ.
Тхьэм и жыIэм ебэкъуа Iэдэмрэ Хьэуарэ зыкъащIэжри, зэуэ
къэшынащ.
„Тхьэр иджыпсту къакIуэмэ и унафэм
дызэребэкъуар илъагъунущ, зыдгъэгъэпщкIу", - жаIащ абыхэм. Япэм
Iэдэмрэ Хьэуарэ зэи зыщагъэпщкIуу щытакъым Тхьэм, сыту жыпIэмэ
ахэр абы и ныбжьэгъут.
Пшапэр зэхэуэу Тхьэм къигъэзэжа нэужь,
Iэдэмрэ Хьэуарэ къызэрыпемыжьам гу лъитэри, еджэу щIидзащ:
„Iэдэм, Хьэуа! Сыт зыщIэвгъэпщкIуар? Хадэм и кум ит жыгым
къыпыфчу мыIэрысэ фымышхауэ пIэрэ фэ?“
Iэдэмрэ Хьэуарэ щтэIэщтаблэу пабжьэм
къыхэкIыжащ.
„Мо жыгым пытым щыщ щхьэ фшха?“ -
къеупщIащ абыхэм Тхьэр. Iэдэм, Хьэуа Iэпэ хуишийри, моуэ жиIащ:
„Мыращ ар сэ къызэзытар“.
„Апхуэдэу щхьэ пщIа?
- еупщIащТхьэр Хьэуа. Хьэуа, блэм Iэпэ хуишийри, жиIащ:
„Мис мобы сытригъэгушхуащ“.
„Сэ сыхуеят игъащIэкIэ мы хадэм зэщIыгъуу
дыщыпсэуну, ауэ фэ фи IэкIэ а фи насыпыр фкъутэжащ, - жиIащ
Тхьэм. - Иджы, къэгъазэ фимыIэу мы си хадэр къэвбгынэн хуейщ фэ
тIум. Нобэ щыщIэдзауэ фэ фи кIэтIийр фи вакъэпсу фылэжьэнущ, уз
жыхуаIэр зыхэфщIэнущ, зэшыгъуэмрэ узыгъуэмрэ зищIысри
къэфщIэнущ. ИкIи зэи къэвгъэзэжыфынукъым фэ зэи мы хадэм. Мис
апхуэдэурэ жьы фыхъунурэ, итIанэ фылIэжынущ.
Ар и щIыкIэу, Тхьэм Iэдэмрэ Хьэуарэ жэнэт
хадэм кърихуащ. Тхьэм хуабжьу и жагъуэ хъуат и унафэм ахэр
зэребэкъуахэр икIи афIэкIа дзыхь лъэпкъ а тIум
яхуищIыжыфынутэкъым. Езы Iэдэмрэ Хьэуари щIегъуэжарэ я гум
щIыхьауэ къэнат Тхьэм и жыIэм зэребэкъуар.
Арати, мэжалIэм имыхьын щхьэкIэ, гугъу
дыдэ ехьурэ щIым телэжьыхьын, яшхынур езыхэм къагъуэтыжын хуейуэ
абыхэм къахудэкIащ. Iэдэмрэ Хьэуарэ хуабжьу я жагъуэ хъурт адрей
псэущхьэхэр къащышынэ зэрыхъуар. Ауэ псом нэхърэ нэхъыбэу ахэр
зыгъэгумэщIыр Тхьэм къахуиIа ныбжьэгъугъэр зэрафIэкIуэдарт.
Мы хъыбарыр фэ къивгъуэтэнщ БибЛеам щыщу
Мусэ бегъымбарым итха япэ тхылъым и ещанэ псалъащхьэм.
НУХЬ
БЕГЪЫМБАРЫМРЭ ПСЫДЗЭШХУЭМРЭ
Тхьэм дунейр къыщигъэщIам, абы псори
щыхъарзынэт. Ауэ куэд дэмыкIыу Тхьэм гу лъитащ а щIыгум тепсэухь
цIыхухэр жыIэмыдаIуэ зэрыхъуам, щIэпхъаджагъэхэр зэралэжьым.
ЗэгурыIуэ-зэдэIуэжу щыпсэуар ящыгъупщэжауэ, ахэр зыр зым ебийрт.
Хуейтэкъым ахэр афIэкIа Тхьэми хуэжыIэщIэну. Арати, Тхьэр
къигъэгубжьащ цIыхухэм ялэжь Iуэху мыщхьэпэхэм.
Апхуэдэу щыхъум, Тхьэм моуэ жиIащ: „Сэ
цIыхухэм тезыр ятеслъхьэнущ, къызэрызэмыдэIуэжхэм къыхэкIкIэ.
Псыдзэшхуэм дунейр зэщIезгъэщтэнщи, псэ зыIуту хъуар
хэзгъэкIуэдэнщ икIи апхуэдэ щIыкIэкIэ щIыгур згъэкъэбзэнщ.
ИтIанэ щIыгур дахащэ хъужынущ, къыщыунэхуам ещхьыркъабзэу. ИкIи
абы гъащIэм щIэрыщIэу щыщIидзэжынщ.
Ауэ зы цIыху яхэтт а щIыгум щыпсэухэм,
щIэпхъаджагъэ лъэпкъ имыщIарэ Тхьэм и жыIэм едаIуэу. Ар цIыху
псэ хьэлэлт, абы къыхэкIыуи Тхьэм фIыуэ къилъэгъуащ. Нухьт абы
зэреджэр.
Арати, Тхьэм Нухь къыжриIащ щIыгум
псыдзэшхуэ къыщIигъэуэну зэримурадыр, а псыдзэм псэ зыIуту хъуар
зэрыхэкIуэдэнур. Къригъэлынур Нухьрэ абы и унагъуэмрэщ.
„Уэ пщIэн хуейр мыращ, - къыжриIащ Тхьэм
Нухь. - Пхъэм къыхэщIыкI кхъухь. Мис а кхъухьым уисмэ, дунейм
къыщIэзгъэуэну псыдзэм укъелынущ".
Тхьэм Нухь къыжриIащ а кхъухьыр зэрищIыну
щIыкIэр. Кхъухьыр кууутIхэмкIэ куэду зэпыхулыкIарэ щхьэ телъу,
щхьэгъубжэ иIэу, зы лъэныкъуэмкIи бжэ хэлъу щытын хуейщ. Дагъэ
фIыуэ зыщIегъэфын хуейщ а кхъухьыр къызыхэпщIыкIыну пхъэхэм, и
кIуэцIым псы къимыхьэн щхьэкIэ.
Арати, Нухьым ищIу
щIидзащ кхъухьыр. Абы игъащIэм кхъухь ищIа-тэкъым, ауэ Тхьэм
къыжриIат зэрыщIын хуейри, абы и жыIэм тетурэ Нухь кхъухьым
елэжьырт. Кхъухьыр хьэзыр зэрыхъуу, Нухьрэ абы и унагъуэм
исхэмрэ дэкIуейри ихьащ. Тхьэм мыпхуэдэу Нухьым къыжриIащ: „Мы
кхъухьым уэ ибгъэтIысхьэн хуейщ
хьэкIэкхъуэкIэуи къуалэбзууи дунейм тетым
ящыщу зэхъу-зэбз зырыз, ахэр къебгъэлын щхьэкIэ. Кхъухьым исыху,
уи нэIи ятебгъэкIын хуейкъым уэ абыхэм. Фэр щхьэкIи абыхэм
щхьэкIи шхын гъэхьэзыр“.
Ар зэхэзыха Нухь, и унагъуэм исхэр
зыщIигъури, хьэкIэкхъуэкIэуи къуалэбзууи дунейм тетым я
зэхъу-зэбз зырыз кхъухьым ирагъэтIысхьащ, тыншу исын, яшхыни
хуитуягъуэтын хуэдэу.
Нухь, Тхьэм и унафэм тету, псори
зэфIигъэкIа нэужь, Тхьэм и унафэкIэ бжэр зэхуищIащ.
Тхьэм емыдэIуа цIыху псори кхъухь щIыбым
къэнащ.
Ар зэрызэфIэкIыу, Тхьэм уэлбанэшхуэ
кърищIэкIащ дунейм. Хуэм-хуэмурэ уэлбанэр борэнышхуэм
хуэкIуэжри, псыдзэр къэуащ. КъракIых фIэкIа умыщIэну уафэм
къежэх уэшхыпсыр, макъ шынагъуэ иригъэщIу, кхъухьым и щхьэм
къытелъадэрт. Уэшхми щигъэтыртэкъым – къешхырти - къешхырт.
Ауэрэ щIыгур зэрыщыту псым щIигъанэщ, кхъухьыр къиIэтри,
ирихьэжьащ.
Зэпымыужу, уэшхыр махуэ куэдкIэ къешхащ.
ХьэкIэкхъуэкIэхэр кхъухьым къикIыу хуиту къажыхьыну хуейт. Нухь
и къуэхэри щIэхъуэ-псырт, япэм ещхьу, унэм щIэсу псэуну.
АрщхьэкIэ Нухь абыхэм яжриIащ: „Фэ шыIэныгъэ фхэлъын икIи
фыпэплъэн хуейщ".
Апхуэдэурэ махуэ куэд дэкIри,
икIэм-икIэжым уэшхым къешхын щигъэтащ. Псым апхуэдизкIэ лъагэу
зиIэтати, къуршхэм я щыгухэри щIихъумат. Жьы къыкъуэури, псы
гущIыIум тету кхъухьыр ежьащ.
Жьыр нэхъри ину къепщэу щIидзэри, псыр
хуэм-хуэмурэ жэщIыжащ. Апхуэдэурэ, Нухьрэ абы и унагъуэм
щыщхэмрэ зэгуэрым къалъэгъуащ псым къыхэщ къурш щыгухэр.
Нухь жиIащ: „Къуалэбзум я дамэхэм тIэкIу
зрагъэшэщIын хуейщ. КъуанщIэр сыутIыпщынщи, сеплъынкъэ“.
КъуанщIэр зелъатэщ - зелъатэри, куэд дэмыкIыу къигъэзэжащ.
ИтIанэ Нухь иутIыпщащ тхьэрыкъуэр. Ауэ тхьэрыкъуэри щIэх дыдэу
къэлъэтэжащ, сыту жыпIэмэ щетIысэхын гъущапIэ игъуэтакъым.
Махуэ зыбжанэ дэкIауэ, Нухь аргуэру
тхьэрыкъуэр иутIыпщащ. Мы зэм тхьэрыкъуэм къигъуэтащ зи щхьэкIэр
псым къыхэщ жыгыр. Зы къудамэ цIыкIу къыпичри, ар жьэдэлъу
тхьэрыкъуэр аргуэру кхъухьым къилъэтэжащ. Ар и нэщэнэт псыдзэм
щIыгур къызэриутIыпщыжым.
Ауэрэ, кхъухьыр къурш гуэрым ищыгум
теувыIыхьащ. Ар ищIыкIэу иухащ дунейр щIэзыхъума псыдзэшхуэр.
Нухь Тхьэм фIыщIэ хуищIурэ жиIащ: „Тхьэм жиIар игъэзэщIащ. Куэд
дэмыкIыу щIыгур гъущыжынурэ, абы ущыпсэу хъунущ. Тхьэрыкъуэр
аргуэру сыутIыпщынщи, псэупIэ хуэхъун езым къилъыхъуэжынщ".
Ар жиIэри, тхьэрыкъуэр аргуэру кхъухьым
ириутIыпщыкIащ абы. Тхьэрыкъуэр лъатэри, мы зэм къигъэзэжакъым.
А6ыкIэ Нухь къыгурыIуащ псыр щIэужу щIыгур зэрыгъущыжар.
ИтIанэ Тхьэм Нухь жриIащ: „Мис, си щIыгур
аргуэру хуэхьэзырщ фэ фытепсэухьыным. ФыкъикI кхъухьым уэри уи
унагъуэм щыщхэри. Къи-шыж хьэкIэкхъуэкIэрэ къуалэбзууэ ису
хъуари“. Нухь и фызыр, я къуи-щыр, абыхэм я щхьэгъусэхэр
кхъухьым къикIри, щIыгуми хьэуа къабзэми щыгуфIыкIыу тэлайкIэ
зэхэтащ. Абыхэм Тхьэм гуапэу фIыщIэ хуащIащ, псыдзэм
къызэрыригъэлам, мы щIыгу дахащэр тыгъэ къазэрыхуищIам щхьэкIэ.
„Сэ си гум къоуэ дунейм псыдзэ
къыщIэзгъауэу цIыхухэри псэ зыIуту хъуари зэрыхэзгъэкIуэдар, -
жиIащ Тхьэм. - Си щIыгум фэ нэхъ насыпыфIэ фыщыхъункIэ
сохъуахъуэ!“
Уафэм щыдэплъейм, абыхэм къалъэгъуащ
плъыфэ зэмыфэгъу дахащэхэу зэщIэблэ лэгъупыкъур.
„ЗэвгъащIэ, - жиIащ Тхьэм, - уэгум
лэгъупыкъу къихьэу щытыху, сэ псэ зыIутхэм псыдзэкIэ дунейкъутэж
афIэкIэ къахуэзгъэкIуэнкъым“.
Мы хъыбарыр фэ къивгъуэтэнщ Пасэрей
ЗэгурыIуэныгъэм (Ветхий Завет) щыщу Мусэ бегъымбарым итха япэ
тхылъым и еханэ псалъащхьэм деж къыщыщIэдзауэ.
ТХЬЭМ И
НЫБЖЬЭГЪУ ИБРЭХЬИМ
Ибрэхьимрэ абы и фыз Сарэрэ Бабилэн
къэралыгъуэшхуэм щыщ Ур къалэм щыпсэурт. Арати, зэгуэрым Тхьэм
Ибрэхьим къыжриIащ Бабилэныр ибгынэу нэгъуэщI хэку Iэпхъуэну.
Тхьэр хуейт а хэку здигъэIэпхъуэнур Ибрэхьимрэ абы
къытехъукIынухэмрэ тыгъэ къахуищIыну.
Ибрэхьимрэ Сарэрэ бын яIэтэкъым, ауэ
Тхьэм Ибрэхьим къыжриIащ: „А хэкур сэ тыгъэ фхузощI уэри, уи
бынхэми, абыхэм къатехъукIынухэми. Фэ сэ си лъэпкъыу фыщытынущ".
Ибрэхьим, жьы хъуа пэтми, Тхьэм жиIар и фIэщ хъуащ: Сарэрэ абырэ
бын зэрагъуэтынур.
Арати, Ибрэхьимрэ Сарэрэ гъуэгуанэм
зыхуагъэхьэзыру щIадзащ. Щыгъын лей, гъуэмылэ къащтэщ, я
ныбжьэгъу-жэрэгъухэм фIэхъус ирахыжри, ахэр гъуэгу техьащ.
Ибрэхьимрэ Сарэрэ ящIэртэкъым а хэку
здэкIуэр къызэрагъуэтынур, гъуэгу убзыху лъэпкъи яIэтэкъым.
Тхьэрат ахэр гъуэгугъэлъагъуэу зыщы-гугъыр. Гъуэгуанэр хуабжьу
кIыхьт икIи хьэлъэт. ЖэщкIэрэ шэтыр яухуэрти, абы щыжейрт, нэху
зэрыщу, гъуэгуанэм теувэжхэрти, кIуэрт, къэрал Iэджи
къызэранэкIыурэ.
Ибрэхьимрэ Сарэрэ жьы хъуакIэт, ауэ зэи
бын ягъуэтатэкъым. Арати, Тхьэм зэгуэрым Ибрэхьим моуэ
къыжриIащ: „Пхуэбжыну пIэрэ уэ гъуэгум пшахъуэу телъым е уэгум
вагъуэу исым я бжыгъэр? НтIэ, зэгъащIэ: уэ къыпщIэхъуэхэр
щыпхуэмыбжыж зэман къэхъунущ".
Ибрэхьим ар и фIэщ хъурт.
Гъуэгуанэ кIыхь икIи хъэлъэ зэпача нэужь,
ахэр нэсащ къалъыхъуэ лъабыхэм. Абы щыIэтэкъым ахэр щыпсэун унэ,
абы къыхэкIыуи шэтыр яухуэри, абы щыпсэууэ щIадзащ. Зэгуэрым
Ибрэхьим гу лъитащ я шэтырым гъуэгурыкIуэ лIищ
къызэрыхуэблагъэр. „Фыкъеблагъэ, фыкъыщIыхьи, тIэкIу
зывгъэпсэху, - гуапэу яжриIащ абыхэм Ибрэхьим. - ЩIакхъуэ
фэттынщи, тIэкIу фызэIурыунщ".
„Ди гуапэу, - жаIащ гъуэгурыкIуэхэм. - Дэ
уэ хъыбарыфI къыпхуэтхьащ: уи щхьэгъусэ Сарэ къуэ игъуэтынущ".
Абыхэм жаIэр щызэхихым, Сарэ къэдыхьэшхащ. „КIасэIуэщ, -
егупсысащ ар, - жьыIуэ дыхъуащ дэ тIур“.
А гъуэгурыкIуэхэр къэзыгъэкIуар Тхьэрат,
Ибрэхьимрэ Сарэрэ ягъэ-гуфIэну абыхэм жаIар Сарэ и фIэщ
зэрымыхъуар Тхьэм и жагъуэ хъуащ. Ауэ куэд дэмыкIыу Сарэ
къыгурыIуащ а гъуэгурыкIуэхэм жаIауэ щытар зэрыпэжыр, абыхэм я
хъуэпсапIэ закъуэу щытыр икIэм-икIэжым зэрызэ-щIэнур. „Тхьэм
хузэфIэмыкIын Iуэху зыри щыIэкъым“, - жиIащ абы.
Ибрэхьимрэ Сарэрэ я гуфIэгъуэр
пхужымыIэным хуэдизт къуэ щагъуэ-там щыгъуэ. Абыхэм я щIалэ
цIыкIум фIащащ Исхьэкъ. Тхьэм и псалъэр игъэпэжат.
Ибрэхьимрэ Сарэрэ я къуэр нэми псэми
хуахьырт. Шэтыр гупэм деж щысу ахэр куэдрэ еплъырт я къуэр
зэрыджэгум.
Гъэхэр кIуэрт. Исхьэкъ узыншэу икIи
къарууфIэу къэхъурт. Къэзылъхуахэр абы хуабжьу щыгуфIыкIырт, я
Тхьэм фIыщIэ хуащIырт, и псалъэр зэригъэпэжам щхьэкIэ.
Тхьэм Ибрэхьим тыгъэ къыхуищIат къуэи
хэкущIи. Ибрэхьим фIыуэ илъагъурт и къуэр.
Тхьэм фIыуэ илъагъурт Ибрэхьим.
Ибрэхьим-щэ? И дзыхь иригъэзрэт абы Тхьэм, япэм ещхьу?
Арати, Тхьэм мурад ищIащ Ибрэхьим
къыхуиIэ фIэщхъуныгъэр зыхуэдизыр игъэунэхуну. Зэгуэрым абы
мыпхуэдэу Ибрэхьим жриIащ: „Апхуэдизу фIыуэ плъагъу уи къуэр
къащти, мо бгым дэкI. Сэ сыхуейщ Исхьэкъ къурмэныпхъэ
къысхуэпщIыну".
Ибрэхьим тхьэмыщкIэ! Тхьэр фIыщэу
зэрилъагъур нэгъуэщI щIыкIэ гуэркIэ хьэкъ щищIыну сыту хуейт ар!
Ауэ ар Тхьэм хуэпэжти, и унафэр игъэзэщIащ: сэрэ пхъэрэ
къыздищтэри, Исхьэкъ щIыгъуу ар бгым дэкIащ.
Исхьэкъ ищIэрт бгыщхьэм щызэтралъхьа
мывэмрэ абы телъ пхъэхэмрэ Тхьэм къурмэныпхъэ щыхуащIу
зэрыщытыр. „Тхьэр фIыуэ зэрытлъагъум и щыхьэту сыт дэ абы
къурмэныпхъэу хуэтщIыфынур?“ - еупщIащ ар и адэм.
Ибрэхьим хуабжьу нэщхъейт, ауэИсхьэкъ
мыпхуэдэужэуапкъритащ: „Дэ Тхьэм сыткIи фIэщхъуныгъэ худиIэн
хуейщ и къурмэныпхъэр езым къызэрыхихыжыфынумкIи“.
Тхьэр хуейтэкъым Исхьэкъ игъэлIэну.
Хуейтэкъым Ибрэхьимрэ Сарэрэ насыпыншэ ищIыну. Ар зыхуейр
Ибрэхьим къызэрыхуэпэжымрэ фIэщхъуныгъэу къыхуиIэмрэ игъэунэхуну
арат.
Исхьэкъыр зэкIуэцIипхэри, Ибрэхьим ар
къурмэныпхъэ щIыпIэм тригъэукIуриящ. Сэр къищтэу Исхьэкъ
зыщыхуригъэзыхым ирихьэлIэу, Тхьэм и макъ къэIуащ: „УвыIэ,
Ибрэхьим! И гугъу умыщI уи къуэм! Модэ мо чыцэм хэна мэлыр
къэхьи, уи къуэм и пIэкIэ мис ар къурмэн къыс-хуэщI.
Иджы Тхьэм шэч лъэпкъ къытрихьэжыртэкъым
Ибрэхьим абы фIэщхъуныгъэшхуэ къызэрыхуиIэми къызэрыхуэпэжми.
Ибрэхьимрэ Исхьэкърэ насыпыр я нэгум къищу Тхьэм фIыщIэ
хуащIырт.
Бгым къыздехыжым, ахэр куэдрэ
тепсэлъыхьащ къэхъуам, гурэ псэкIи иригуфIэжащ Тхьэм
фIэщхъуныгъэ зэрыхуаIэм икIи абы зэрыхуэпэжым.
Тхьэм жиIар игъэзэщIащ икIи Ибрэхьим
къыщIэхъуа Исхьэкъ и бынхэм къатехъукIахэм пхуэмыбжыным хуэдизу
лъэпкъ къищIыкIащ.
Ибрэхьим и къекIуэкIыкIам теухуа мы
хъыбарыр фэ къивгъуэтэнщ Мусэ бегъымбарым итха япэ тхылъым и
22-нэ псалъащхьэм.
ИСХЬЭКЪРЭ
РЕБЕККЭРЭ
И къуэ Исхьэкъ дэщIыгъуу Ибрэхьим Ханаан
хэкум щыпсэурт. Илъэс зыкъомкIэ узэIэбэкIыжмэ, Тхьэм Ибрэхьим
къигъэгугъат и унагъуэр дэщIыгъуу а хэкум зэрыщыпсэунур. Иджы ар
нахуапIэ хъуакIэт: ахэр а хэкум щыпсэурт, зыхуэныкъуэ щымыIэрэ
псомкIи арэзыуэ. Абыхэм Тхьэм фIэщхъуныгъэ хуаIэт икIи фIыуэ
ялъагъурт. ЯщIэрт абыхэм Тхьэм и нэIэ сытым дежи къазэрытетыр.
Ауэрэ, илъэс зыкъом 6лэкIри, Ибрэхьим и
фыз Сарэ дунейм ехыжащ. Езы Ибрэхьими хуабжьу кхъахэ хъуати,
мыпхуэдэ мурад ищIащ: „Сэ си къалэнщ си къуэ закъуэм хуэфэщэн
щхьэгъусэ къезгъэшэну. Сэ сылIа нэужь, цIыху щхьэзакъуэу къэнэну
сыхуейкъым ар“.
Ибрэхьим ищIэрт Исхьэкъ щхьэгъусэ ищIынур
и лъэпкъэгъуу щытын зэрыхуейр. Ауэ ахэр я лъэпкъым пыIудзауэ
жыжьэ щыпсэурт. ИтIанэ Ибрэхьим мурад ищIащ пэжыгъэкIэ
къыбгъэдэт и унэIутыр я хэкум игъэкIуэну. Абы я хэкужьым Исхьэкъ
къыщыхуигъуэтын хуейт щхьэгъусэ.
Арати, Ибрэхьим и унэIутыр къриджащ. Ар
цIыхуфIтикIи Iэдэбт, илъэс куэдкIи
Ибрэхьим пэжыгъэкIэ къыбгъэдэтат. „Хэти
хуэмыдэу, сэ си дзыхь уэ узогъэз, - жриIащ Ибрэхьим и унэIутым.
- СыкъыумыгъэщIэхъуу, ди хэкужьым кIуэи, Исхьэкъ щхьэгъусэ
къыщыхуэлъыхъуэ“.
УнэIутыр хэгупсысыхьащ. „Дауэ сэ ар
къызэрызгъэдэIуэфынур, си гъусэу къэкIуэну?“ - щIэупщIащ ар.
„Тхьэм уигъэлъагъунщ уэ ар зэрыпщIынур“, -
жэуап къитащ Ибрэхьим.
Арати, унэIутыр гъуэгуанэ жыжьэ теуващ.
Сабэм нэр игъаплъэртэкъым, дунейри апхуэдизкIэ хуабэти, хьэуар
псы къэкъуалъэм хуэдэт. Гъуэгуанэр хуабжьу кIыхьт икIи
гугъусыгъут.
УнэIутым махъшипщIрэ дыщэ къабзэм
къыхэщIыкIа тыгъэ куэдрэ къыздищтат, зипсэлъыхъур къулейуэ
зэрыщытыр абыкIэ къаригъэщIэну.
Сытми,
икIэм-икIэжым, унэIутыр нэсащ Ибрэхьим япэм щыпсэуа къалэм икIи
псыкъуийм деж къыщыувыIащ, жьауапIэм щIэсу тIэкIу зигъэпсэхун
мурадкIэ.
УнэIутым Тхьэм лъэIукIэ зыхуигъэзащ:
„Тхьэуэ зи къарур ин, къыздэIэпыкъу.
Сыгъэлъагъу Исхьэкъ псэгъуу къыхухэпхар.
Хъыджэбзхэр псыхьэ мыбдеж къокIуэ. Абыхэм ящыщ гуэрым селъэIунщ
сэ псы сригъэфэну. Сэри псы къызитрэ си махъшэхэри иригъафэмэ,
итIанэ къызгурыIуэнущ - аращ уэ псэгъуу Исхьэкъ къыхухэпхар“.
Къалэм дэсу хъуам псы къызрахыр а
псыкъуийрат. Куэд дэмыкIыу псыкъуийм зы хъыджэбз дахэ
къыбгъэдыхьащ. Абы и дамэм кхъуэщын тетт.
„КхъыIэ, псы тIэкIу сегъафэ“, - лъэIуащ
унэIутыр.
„Мэ, - жиIащ хъыджэбзым. - Сэ уи
махъшэхэри езгъэфэнкъэ иджыпсту".
УнэIутыр хуабжьу гуфIэрт: Исхьэкъ
щхьэгъусэ къыхуигъуэтащ! Абы хъыджэбзым тыгъэ хуищIащ къыздихьа
дыщэ Iэлъыныр. Хъыджэбзым и цIэр жиIащ - Ребеккэ“.
УнэIутым Тхьэм фIыщIэ ин хуищIащ а
хъыджэбзым зэрыIуигъэщIам щхьэкIэ.
Иджы унэIутым къыхуэнэжыр хъыджэбзым и
адэ-анэр къигъуэту Iуэхур зытетыр яжриIэн хуейуэ арат.
„Нэху сыкъыщекIын щызгъуэтыну пIэрэ
мыбы?“ - еупщIащ ар Ребеккэ. „Дэ ди унэр инышхуэщ, - жиIащ
хъыджэбзым. - НакIуэ си гъусэу, си адэ-анэри уэзгъэцIыхунщ".
УнэIутыр Ребеккэ и ужь иувэри, я деж
кIуащ. Унэм ису хъуам ягъэщIэгъуащ, ямыцIыху лIы гуэр щIыгъуу
Ребеккэ къыщигъэзэжам. Абыхэм гу лъатащ Ребеккэ Iэрылъ дыщэ
Iэлъыным. Апхуэдэу щыхъум, унэIутым абыхэм яжриIащ мы къалэм ар
Ибрэхьим къыщIигъэкIуа Iуэхур.
„Ар уэ пщIыгъуу накIуэмэ, дэ хуабжьу
дыхуэзэшынущ, - жаIэрт унагъум исхэм. - Ауэ езы Ребеккэ и щхьэ
унафэ хурырещIыж абыкIэ“.
„Сэ абы щIыгъуу сыкIуэнурэ Исхьэкъ
щхьэгъусэ сыхуэхъунущ", - жэуап къаритащ абыхэм Ребеккэ.
КъыкIэлъыкIуэ махуэм РебеккэрэунэIутымрэ
ХанаанхэкумкIуэну ежьащ. Ребеккэ зыдищIыгъуащ и унэIут
хъыджэбзыр.
Куэдрэ кIуа, мащIэрэ кIуа, - сытми
Ибрэхьим и шэтырым къыщыхуэблэгъэжьым, Исхьэкъ абыхэм къапежьащ.
Ребеккэ зэрилъагъуу, ар фIыуэ илъэгъуащ. Абы насыпыфIэу
зилъытэжырт ар щхьэгъусэ зэрыхуэхъунум щхьэкIэ.
„НакIуэ, си адэри уэзгъэцIыхунщ, ди
хэщIапIэри уэзгъэлъагъунщ", - жриIащ абы Исхьэкъ. Ребеккэ
хуабжьу иригуфIэрт къыщалъхуа унэр къигъанэу Исхьэкъ деж
къэкIуэну зэрытегушхуам.
Ахэр хуабжьу насыпыфIэт, нысэмрэ къуэмрэ
апхуэдэу зэрызэхущытым Ибрэхьими иригуфIэрт. Тхьэм дежкIэ
нэрылъагъут Ибрэхьим и дзыхь абы къызэрыригъэзыр, абы къыхэкIыуи
Исхьэкъ щхьэгъусэ къыхуигъуэтащ.
И къуэ Исхьэкъ щхьэгъусэ
къыхуигъуэтынымкIэ Тхьэр Ибрэхьим къызэрыдэIэпыкъуам теухуа
хъыбарыр къивгъуэтэнщ Мусэ бегъымбарым итха япэ тхылъым и 24-нэ
псалъащхьэм.
ЕКЪУБРЭ ЭСАУРЭ
Исхьэкъ Ханаан хэкум щыпсэурт. Ар жьыи
набгъи хъуат. Абы кIэлъыплъырт и фыз Ребеккэ. Исхьэкърэ
Ребеккэрэ зэтIолъхуэныкъуэу къалъхуауэ къуитI яIэт: Эсаурэ
Екъубрэ. Абыхэм я къуэхэр фIы дыдэу ялъагъурт.
Эсаурэ Екъубрэ щыцIыкIум щыгъуэ
зэкIэрымыкIыу сытым дежи зэдэджэгурт. Ахэр щыпсэу шэтырым и
хъуреягъыр тафэти, ущыджэгунур гъунэжт.
Ауэ Эсаурэ Екъубрэ къыдэкIуэтея нэужь,
ахэр Iуэхугъуэ зырызым дихьэх хъуащ.
„НакIуэ си гъусэу щакIуэ“, - жриIэрт Эсау
Екъуб.
„Хьэуэ, упсэу, - жэуап иритыжырт Екъуб
абы, - унэм сисымэ, нэхъыфIщ".
Ребеккэ Екъуб хуабжьу фIыуэ илъагъурт.
Абы фIэфIт Екъуб нэхъыбэрэ унэм зэрисыр. Унагъуэ Iуэху щащIэм
деж, ахэр куэдым тепсэлъыхьырт. Екъуб ищIэрт, Эсаурэ абырэ
зэтIолъхуэныкъуэ щхьэкIэ, япэу Эсау дунейм къызэрытехьар, и адэр
Тхьэм и нэфI къыщыхуэну абы нэхъапэ зэрыхуелъэIунур. „Ауэ ар
захуагъэкъым,“ - хуэтхьэусыхэрт Екъуб и анэм.
Исхьэкъи и гуапэ хъурт зэрыщэкIуам
теухуауи нэгъуэщI гуэрхэри Эсау къызэрыхуиIуэтэжыр: бгы
лъагэхэм, тафэ щхъуантIэхэм, жыпIэнуракъэ, жьыгъэм нэф ихъукIа
Исхьэкъ зэи имылъагъужыну дуней дабыхэм теухуа хъыбархэр.
Арати, зэгуэрым, Эсау щакIуэ дэкIауэ,
Ребеккэ Екъуб къриджащ. „ПсынщIэу Эсау и щыгъынхэр зыщытIагъи,
уи адэм деж кIуэ, - жиIащ абы. - Эсау къэмысыж щIыкIэ уи адэр
Тхьэм и нэфI къыпщыхуэну пхуелъэIуну тщIынщ дэ“.
Ребеккэ Екъуби Iэпщэхэмрэ и дамэхэмрэ
бжэныфэ трипхащ, и адэр къеIуса нэужь, Эсауу къыщыхъун хуэдэу,
сыту жыпIэмэ Эсау цыбэт. И анэм игъэхьэзыра шхыныр къищтэри,
Екъуб адэм хуихьащ. Исхьэкъ нэфти, и пащхьэ итыр Эсаурэ
мы-Эсаурэ къищIэн щхьэкIэ, и Iэхэр и дамэм къытрилъхьащ.
„Уэра мыр, Эсау?“ - къеупщIащ абы
Исхьэкъ.
„Сэращ, ди адэ, сэращ", - жиIащ Екъуб,
къуэшым и макъым ещхь зищIурэ.
Арати, Исхьэкъ, къуэ нэхъыжьым щхьэкIэ
зэрелъэIунум хуэдэу, Тхьэм и нэфI къыщыхуэну хуелъэIуащ. Екъубрэ
Ребеккэрэ хуабжьу гуфIэрт Iуэхур апхуэдэу зэрыхъуам щхьэкIэ.
Абыхэм ящIэрт адэм и тхьэлъэIу псалъэм ар насыпыфIи гъащIэ
кIыхьи зэрищIынур.
Абы хэту, Эсау щакIуэ къикIыжащ.
КъиукIабыхэм я лым щыщ хуигъажьэри абы и адэм хуихьащ. Шхыныр и
пащхьэ иригъэувэри, Эсау адэм елъэIуащ Тхьэм и нэфI къыщыхуэну
хуелъэIуну. Исхьэкъ занщIэу къищIащ къызэрагъэпцIар.
„ТIэкIу хэкIэсауэ укъэкIуащ, си къуэ“, -
жриIащ абы Эсау.
Эсау, къэхъуар къыщищIэм, зэуэ
къэгубжьащ. „Си къуэшыр гъэпцIакIуэщ -жиIэри кIиящ ар. - Сэрат и
нэфI къыщыхуэну Тхьэм зыхуелъэIупхъэр. СынолъэIу, ди адэ,
схуелъэIу!“ „Сэ ар слъэкIынукъым, - жиIащ нэщхъейуэ Исхьэкъ. -
Екъуб и цIэкIэ сыхуелъэIуагъэххэщ, си псалъэм къезгъэгъэзэж
хъунукъым“. „НтIэ, сэ ар сыукIауэ фэзгъэлъагъунщ", - жиIэри
кIиящ Эсау.
Эсау жиIар щызэхихым, Ребеккэ мурад ищIащ
Екъуб нэгъуэщI щIыпIэ игъэкIуэну, и къуэшым имыукIыжын щхьэкIэ.
„Си дэлъхур щыпсэу хэкум кIуэи, абы щыIэ,
- жиIащ Ребеккэ. - Къэбгъэзэж щыхъунум деж сэ хъыбар
уэзгъэщIэнщ".
Арати, Екъуб Ребеккэ и дэлъхур щыпсэу
Харран къэралым кIуэну ежьащ. Гъуэгуанэ кIыхь къыпэщылът абы.
Пшапэр щызэхэуэм, Екъуб зыхищIащ хуабжьу зэрешар. ЩIым гъуэлъщ,
и щхьэм мывэ джафэ гуэр щIидзри, ар Iурихащ.
ИкIи мыр пщIыхьэпIэу илъэгъуащ Екъуб.
Уафэм пкIэлъей кIыхьышхуэ едзат, а пкIэлъейм уафэм
дэкIуей-къехыжу мелыIычхэр тетт. Абы хэту Екъуб макъ гуэр
къызэхихащ: „Сэ Ибрэхьимрэ Исхьэкърэ сра-Тхьэщ. Сытым дежи сэ уэ
сыпщIыгъунщ икIи щхьэпэ сыпхуэхъунщ лажьэ уимыIэу уи унэ
бгъэзэжа зэрыхъунумкIэ“. Екъуб ищIэрт Тхьэм цIыху хьилэшыгъэр
илъагъу зэрымыхъур, абы къыхэкIыуи хуабжьу къэшынащ. Ауэ Тхьэм
Екъуб къыжриIащ и лIакъуэр хуигъэбэгъуэну, хуигъэбжьыфIэну жиIэу
Ибрэхьим къызэригъэгугъауэ щытар абы зэригъэпэжынур.
Харран къэралым къызэрысу, Екъуб къигъуэтащ и анэ дэлъху
Лаван. Екъуб абы хуэлэжьэну щIидзэри, илъэс куэдкIэ хуэлIыщIащ,
сыту жыпIэмэ Лаван абы нэхърэ нэхъ тхьэгъэпцIу къыщIэкIащ.
Екъуб еши псэхуи имыщIэ жыхуаIэм хуэдэу
щылэжьащ Харран къэралым икIи къулей хъуащ. Мэл, бжэн
хъушэшхуэхэр иIэ хъуа нэужь, абы мурад ищIащ къишэну. Екъуб
хуейт Лаван ипхъу Рахел къишэну, ауэ Лаван абы нэхърэ нэхъыжьу
пхъу иIэт, ЛеакIэ еджэу. Мо Лаван тхьэгъэпцIым хьилагъэ
зэрихьэри, ипхъу нэхъыжьырЕкъубым къригъэшащ.
Эсау Ханаан хэкум зэрыщыпсэурт. КъыщыщIам
ар хуабжьу иринэщхъейт, къагъэпцIауи къилъытэрт. Исхьэкърэ
Ребеккэрэ дунейм ехыжати, и унагъуэр щIыгъуу Эсау шэтырышхуэм
щыпсэурт, мыувыIэуи лажьэрт.
Абы куэдрэ игу къихьэрт Екъуб икIи
егупсысырт: „Дэнэ щыIэу пIэрэ си къуэшыр иджыпсту? Хуабжьу
сыгуфIэнут, ар слъэгъуамэ“.
Апхуэдэу щыхъум, Тхьэм Iэмыр ищIащ
Ибрэхьим иритауэ щыта Ханаан хэкум Екъуб игъэзэжыну. И унагъуэр
зыщIигъущ, Iэщу иIэу хъуар и пэ иригъэувэри, Екъуб къежьэжащ.
Ауэ Эсау хуабжьу иришынэрт и къуэшым
зэрыхуэзэнум.
„ФIыщIэ пхузощI, ди Тхьэу си Зиусхьэн,
апхуэдиз илъэскIэ уи лъагъуныгъэр зыхэсщIэ зэпыту
сызэрыбгъэпсэуам щхьэкIэ, - жиIэрт Екъуб. - Ауэ уи гущIэгъур
иджыри къыслъыгъэс си къуэш Эсау сыщыIущIэнум деж".
Къуэшым и губжьыр нэхъ щабэ ищIын мурадкIэ, Екъуб, езыр
нэмысыж щIыкIэ, бжэнрэ мэлу зэхэту хъушэшхуэ Эсау тыгъэу
хуригъэхуащ. Ауэ Эсау жэкIэ къыпежьэщ Екъубым, IэплIэшхуи баи
къыхуищIащ. Эсау гуфIэрт икIэм-икIэжым и къуэшым къызэригъэзэжам
щхьэкIэ.
Тхьэр Эсау дэIэпыкъуащ Екъуб кърищIар
хуигъэгъуу и губжьыр тIысыжынымкIэ. Ар и щIыкIэу Тхьэм жиIар
игъэпэжащ – лажьэ имыIэу Екъуб къыщалъхуа хэкум нигъэсыжыну
жыхуиIауэ щытар. Арати, зэкъуэшитIыр, япэм ещхьу, зэнэзэпсэ
зэхуэхъужащ.
Мы хъыбарыр фэ къыщывгъуэтынщ Мусэ
бегъымбарым итха япэ тхылъым и 27-33 –нэ псалъащхьэхэм.
ПЩIЫХЬЭПIЭ
ЛЪАГЪУРЕЙ ИСУФ
Екъуб Ханаан хэкум щыпсэурт. Ар хуабжьу
кхъахэ хъуат, и фызри дунейм ехыжакIэт, ауэ лIыжьым и
закъуэтэкъым - къуэуэ пщыкIутI иIэт абы.
Екъуб и къуэ псори фIыуэ илъагъурт, ауэ
зыпищI щымыIэу абыхэм зы яхэтт. Исуфт абы и цIэр. И къуэшхэр
Исуф къефыгъуэрт псом нэхърэ нэхъыфIу ар Екъуб зэрилъагъум
щхьэкIэ. Абы и щIыIужкIэ Екъуб къэптал къуэлэн дахэ Исуф
зэгуэрым къритат.
И къуэшхэм ящIэу хъуар Исуф адэм
жриIэжырт икIи, зэрыгурыIуэ-гъуэщи, абы щхьэкIэ ар и къуэшхэм
фIыуэ къалъагъуртэкъым.
Исуф зэгуэрымилъэгъуащ пщIыхьэпIэ
гъэщIэгъуэн дыдэ. И къуэшхэмящIыгъурэ пхыр зэрипхыу ар хафэм
итт. Апхуэдэурэ здэлажьэм, Исуф ищIа пхырыр занщIэу уври, жам
хуэдэу къэнащ, и къуэшхэм ящIа пхырхэм абы зыкъыхуагъэщхъри
хъурейуэ къаувыхьащ.
Исуф а пщIыхьэпIэр щажриIэжам, и къуэшхэр
хуабжьу къэгубжьащ.
„Догуэ, дэ щхьэщэ пхуэтщIыным ущыгугъыу
ара уэ? – ткIыбжьу жаIащ абыхэм. - ЛIо, укъытщыдыхьэшхыу ара,
уэ?“
ИужькIэ Исуф пщIыхьэпIэу илъэгъуащ уэгум
дыгъэри, мазэри, вагъуэ пщыкIузи ит хуэдэу. Здеплъым, абыхэм
псоми Исуф щхьэщэ къыхуащIащ.
И къуэшхэр дэнэ къэна, адэм щыжриIэжам,
ари Исуф къыщIэгубжьащ абы щыгъуэ. „Сыт мы делагъэ
узэпщIыхьхэр“, - губжьарэ кIийуэ жиIащ абы.
Мис абы щыгъуэ и къуэшхэр нэхъри бий
къыхуэхъуащ Исуф.
Екъуб къулейт. Абы иIэт мэл, бжэн
хъушэшхуэхэр. Мэлхэмрэ бжэнхэмрэ къэуат зыщIэлъ удз
щхъуантIэфIрэ псы къабзэрэ нэхъ яфIэфI щыIэкъым. Абы къыхэкIыу
Iэхъуэхэм жыжьэ Iуахун хуей хъурт хъушэхэр - къэуат зыщIэлъ
удзрэ псырэ ягъуэтын щхьэкIэ.
Хъушэхэр хъупIэм щахум деж, Екъуб и
къуэхэр сытым дежи ядэщIыгъуу кIуэрт икIи ахэр яхъумэрт. Куэд
къызэхакIухьын хуей хъурт абыхэм, хъупIэфI къагъуэтын щхьэкIэ.
Исуф сытым дежи унэм къанэрт.
Зэгуэрым Екъуб и къуэхэм хъушэхэр
щагъэхъуу хъупIэ жыжьэм щыIэт. Арати, Екъуб Исуф жриIащ: „КIуэ,
уи къуэшхэр здэщыIэр къэгъуэт. Гъуэмылэ яхуэхь, я узыншагъэр
зыхуэдэр, я Iуэху зтетыр зэгъащIэ“.
Исуф ежьащ, арати. Махуэ зыбжанэкIэ
кIуауэ, и къуэшхэм я хэщIапIэм щынэсым, модрейхэм къалъагъури,
къыщыдыхьэшхыу щIадзащ: „Мес пщIыхьэпIэ лъагъурейр къокIуэ!“ -
жаIэрт абыхэм.
Абыхэм ящыщ зым моуэ жиIащ: „Сужэгъуащ сэ
абы и пщIыхьэпIэхэр. Мыбы къыщIэкIуари тщIэр дядэм жриIэжыну
арагъэнущ. Девгъауи, дывгъэукI ар“.
Адрей и къуэшым жиIащ: „Абы нэхърэ
нэхъыфIщ, мы псыкъуий игъущIыкIам идывгъадзи“. „Дэгъуэу
къэбгупсысащ", -жаIащ адрейхэм. Исуф къаубыдщ, и къэптал дахэр
къыщахри, псыкъуийм ирадзащ.
ИтIанэ зэхэтIысхьэжри, зыри къэмыхъуа
хуэдэ, Исуф къихьар яшхыу щIадзащ абыхэм. Абы хэту зэшхэм
къалъэгъуащ хуэм дыдэурэ къахуэкIуэ махъшэ чырэр. Ахэр Мысырым
кIуэ сатуущIэхэт.
„ФщIэрэ къэзгупсысар, - жиIащ зэшхэм ящыщ
зым, - девгъауи, Исуф мобыхэм едвгъащэ. Мысырым яшэнщи, афIэкIа
зэи тлъагъужынкъым.
ЗэрыжаIам хуэдэуи ящIащ. Зэшхэм Исуф
псыкъуийм кърахыжри,
сатуущIэхэр къраджащ.
„Дапщэ къыдэфтынмы щIалэщIэ Iэчлъэчым
пэкIуэу?“ - еупщIащ ахэрсатуу-щIэхэм.
Арати, зэшхэм Исуф дыжьын ахъшэ тIощIкIэ
ящащ. Куэдрэ кIэлъыплъащ ахэр махъшэ чырэм. КъращIар зи фIэщ
мыхъупа Исуф махъшэ чырэм и ужь итрэ нэщхъейуэ кIуэрт. Зэшхэм
Исуф къыщаха къэпталыр зэхачатхъэри, щынэ цIыкIу фIагъэжам и
лъымкIэ ар зэхацIэлащ. А лъыкIэ зэхэцIэла къэптал къуэлэн дахэм
уеплъынкIэ шынагъуэт.
Я адэм деж къыщагъэзэжам, зэшхэм хуабжьу
нэщхъеифэ зытрагъэуащ. „Къеплъыт мы дэ къэдгъуэтам, - жаIэри
абыхэм къэпталыр я адэм ирагъэлъэгъуащ - Исуф и къэпталыракъэ
мыр?“
Къэпталыр зэрилъагъуу, Екъуб
къыхэкIиикIащ: „Исуф псэужкъым! ХьэкIэкхъуэкIэ гуэрым
зэпкъритхъащ ар!“
Исуф зыфIэкIуэда Екъуб гуауэшхуэм
игъэхыщIэрт. АтIэми абы и къуэхэр щэхуу иригуфIэрт Исуф
зэрамыIэжым.
Ауэ зэшхэм ящIэртэкъым Мысырым
щигъэзэщIэн хуей къалэн ин Тхьэм Исуф и пщэм къызэрыдилъхьар. Ар
игъэзэщIэн папщIэ, Исуф иджыри куэдым зыхуигъэсэн хуейт.
Екъуб къыщыщIа гуауэм куэдрэ иринэщхъеящ.
Абы и гугъэт фIыуэ илъагъу и къуэр афIэкIа зэи имылъагъужыну.
Абы ищIэртэкъым Исуф и Iуэхур абдеж зэрыщимыухыр.
Исуф и сабиигъуэм теухуа хъыбарыр
къыщывгъуэтынщ Мусэ бегъымбарым итха япэ тхылъым и 37-нэ
псалъащхьэм.
ИСУФ МЫСЫРЫМ
ЗЭРЫЩЫIАР
Исуф Мысырым щыпсэурт. Ауэ абы и хэкур
Ханаан щIыналъэу фIы дыдэу къэзылъагъу и адэ Екъубрэ и къуэш
пщыкIузымрэ щыпсэурат.
Исуф и гъащIэр хуабжьу хьэлъэт. Ханаан
щыщыпсэуам, ар и адэм быну иIэм нэхърэ нэхъыфIу илъагъурт икIи
игъафIэрт. Мыбы, Мысырым, абы къыщхьэщыжын зыри щиIэтэкъым.
ЦIыхухэм Iэпэ къыхуашийурэ абы щхьэкIэ жаIэрт: „Феплъыт мобы,
занщIэу къыбощIэ хамэщI къызэрикIар“.
Исуф Ханаан щимыIэ щыIэтэкъым, сыту
жыпIэмэ абы и адэр къулейуэ псэурт. Мыбы, Мысырым, ар къулеижь
гуэрым унэIуту иращауэ щыIэт.
Исуф а къулеижьым унэIуту зыкъомрэ иIащ,
ауэ абы и къалэнхэр апхуэдизкIэ фIыуэ игъэзащIэрти, нэхъ
Iуэхугъуэшхуэхэри игъэзэщIэнкIэ я дзыхь кърагъэзу щIадзащ.
Апхуэдэу кIуэурэ, ар ягъэуващ а къулеижьым и унагъуэ Iуэхухэр
зэфIэхынымкIэ унафэщIу.
Тхьэм щыгъупщэжауэ аратэкъым Исуф. Исуф
зихъуэжыну фIэкъабылу арат. Ар хуейтэкъым Исуф ауэ сытми зи
къуэшхэр гуэныхь зыпылъ Iуэхугъуэ ялэжьыну езыхулIа щIалэ цIыкIу
гъэфIа къудейуэ къэнэну. Тхьэр хуейт Исуф абы фIэщхъуныгъэ
къыхуиIэну, псоми я дзыхь зрагъэз, пщIэ зыхуащI цIыху
къищIыкIыну.
Зэгуэрым Исуфкъуаншагъэ лъэпкъ
бгъэдэмылъу хьэпсым ирадзауэ ист. Ауэ хьэпсми IэщIыб щищIакъым
ар Тхьэм.
Хьэпсыр кIыфIт, псыIэт, шынагъуэт.
ХъумакIуэм гу лъитащ Исуф игури и псэри етауэ зэрылажьэр, абы
къыхэкIыуи хьэпсым ис адрейхэм я унафэщIу игъэуващ.
Исуф зэуэ ныбжьэгъу яхуэхъуащ хьэпсым
исхэм. Абыхэм ящыщ цIыхуитIым пщIыхьэпIэ гъэщIэгъуэн дыдэ
ялъэгъуащ зэгуэрым. Абыхэм Исуф
къыжраIэжащ ялъэгъуа пщIыхьэпIэр.
„Тхьэр сэ къыздэIэпыкъунущ а пщIыхьэпIэхэм къиIыр
къэсщIэнымкIэ“, - яжриIащ абыхэм Исуф.
„Махуищ дэкIмэ, уэ щхьэхуит ухъужынущ, -
жриIащ Исуф а тIум я зым. - Ауэ щыхъукIэ, сэри
сызыщумыгъэгъупщэу, саутIыпщыжыну схуелъэIу".
А цIыхур фирхьэуным деж санэригъахъуэу
щылажьэрт, фирхьэуным и Iэнэм фадэ тригъэувэу. Махуищ дэкIри,
Исуф зэрыжиIам тету, санэри-гъахъуэр къаутIыпщыжащ икIи и
къалэныр фирхьэуным хуищIэу ежьэжащ.
АрщхьэкIэ илъэситIи 6лэкIащ, Исуф хьэпсым
исурэ. Зэгуэрым фирхьэуным пщIыхьэпIэ гъэщIэгъуэн гуэр
илъэгъуати, абы къикIыр зыми къыхуэщIэртэкъым. Арати,
санэригъахъуэм занщIэу игу къэкIыжащ Исуф. „Сэ соцIыху а уи
пщIыхьэпIэм къикIыр къыбжезыIэфын гуэр, - жриIащ абы фирхьэуным.
-АбыкIэ а жыхуэсIэм къыдоIэпыкъу и Тхьэр“.
Фирхьэуным унафэ ищIащ Исуф къыхуашэну.
„Сэ пщIыхьэпIэ гъэщIэгъуэн гуэр
слъэгъуащи, си унэIутым зэрыжиIэмкIэ, абы къикIыр уэ
къыпхуэщIэнущ", - жиIащ фирхьэуным.
„Си Тхьэр абыкIэ сэ дэIэпыкъуэгъу
къысхуэхъунущ", - жиIащ Исуф.
Фирхьэуным пщIыхьэпIэу илъэгъуат, псы
Iуфэм здыIутым, пшэр хъужауэ жэмибл псым къыхэкIри хъуакIуэу
щIадзауэ. ИтIанэ илъэгъуащ хуабжьу уэдыкъуауэ жэмибл а псы дыдэм
къыхэкIри, мо жэм пшэриблыр занщIэу яшхауэ, яшха щхьэкIэ, жэм
уэдиблыр зэрыуэду къэнауэ. Мис абдеж дыдэм ирихьэлIэу фирхьэуныр
къэушащ.
„А пщIыхьэпIэм къикIыр сщIатэмэ!...“ -
жиIащ фирхьэуным макъ лъагэкIэ. Исуф мыпхуэдэу жриIащ
фирхьэуным: „Тхьэм абыкIэ фирхьэуным хъыбар къригъащIэу аращ
илъэсиблкIэ зэкIэлъыкIуэу гъавэ бэв Мысыр хэку псом
къызэрыщрахьэлIэжынумкIэ. Уэ уи къалэнщ а илъэсиблым къриубыдэу
гъавэ гъэтIылъыгъэ пщIыну, сыту жыпIэмэ абы къыкIэлъыкIуэнущ
цIыхур щэджэладжэ зыщI илъэсибл гъаблэ“.
„Сыту фIыт Тхьэм абыкIэ хъыбар
къызэрыдигъэщIар, - жиIащ фирхьэу-ным. - Гъавэшхуэ гъэтIылъыгъэ
тщIын хуейщ. Абы къыхэкIыуи дэ димы-Iэу хъунукъым а Iуэхур акъыл
хэлъу къызэзыгъэпэщын цIыху Iущ. Сэ къызэрысщыхъумкIэ, а
къалэныр уэ уи пщэ итлъхьэ хъунущ".
Арати, фирхьэуным къыкIэлъыкIуэу нэхъ
фIэлIыкI зиIэ цIыху Мысырым щыхъуащ Исуф. Гъавэр бэв щыхъуа
илъэсхэм абы емышыжу гуэнхэр игъэн-щIащ. ИужькIэ, гъаблэ
илъэсхэр къыщысам, цIыхухэр къакIуэурэ, Исуф деж гъавэ
къыщащэхуу щIадзащ.
НэгъуэщI хэкухэмикъикIыурэ цIыхухэр
гъавэщэху къакIуэрт. Ауэрэ, Исуф и адэмрэ и къуэшхэмрэ щыпсэу
Ханаан лъабыхэми гъаблэр нэсащ. ЩIым гъавэу къытекIыж
щыIэтэкъым, цIыхухэр мэжэщIалIэ, ныбаджэ хъууэ щIадзат.
Зэгуэрым, гъавэр зыщIэлъ гуэнэщым
здыщIэтым, Исуф къилъэгъуащ абы къыщIыхьа и къуэшхэр. Абыхэм
къацIыхужакъым Исуф. Гъавэ щхьэкIэ елъэIуну къызыхуэкIуа цIыху
фIэлIыкIышхуэ зиIэр къыдалъхуа я къуэшырауи дэнэ щащIэнт. Исуфи
абыхэм закъригъэщIакъым къызэрицIыхужабыхэмкIэ. Ар хуейт
къищIэну япэм хуэдэу ахэр цIыху бзаджэрэ захъуэжарэ.
Я къуэшыр зэращамкIэ щIегъуэжауэ гу
щалъитэм, Исуф абыхэм зэракъуэшыр яжриIащ. Зэшхэр занщIэу
къэшынащ. Апхуэдэу щыхъум, Исуф яжриIащ абыхэм: „Фымышынэ,
зэрыфлъагъущи, сэ Тхьэм гулъы-тэншэу сыкъигъэнакъым. ФыкIуэжи,
ди адэр къафшэ. Сэ сыхуейщ псори зэщIыгъуу Мысырым дыщыпсэуну,
сыту жыпIэмэ иджыри илъэситхукIэ гъаблэр екIуэкIынущ".
Екъуб Исуф щымыIэж и гугъэрэ абы
иригумэщIу а илъэсхэр игъэкIуащ. Сытым хуэдиз гуфIэгъуэр иIэт
абы, и къуэр псэурэ лажьэ имыIэу щилъэ-гъуам!
Нэхъыбэ дыдэу Екъуб зыщыгуфIыкIыр псоми
пщIэ зыхуащI, зи дзыхь зра-гъэз цIыху Исуф къызэрищIыкIарт.
Тхьэм ихъуэжащ Исуфи абы и къуэшхэри я хьэлрэ щэнкIэ. Екъуб
Тхьэм фIыщIэшхуэ хуищIащ Мысырым щыIэ Исуф абы и гущIэгъум
зэрыхимынам, и гъащIэр зэрихъумам щхьэкIэ.
Исуф Мысырым зэрыщыIам теухуа хъыбарыр фэ
щывгъуэтынущ Мусэ бегъымбарым итха япэ тхылъым и 39-50-нэ
псалъащхьэхэм.
ПАЩТЫХЬЫПХЪУМРЭ
САБИЙМРЭ
Израилым щыщ цIыху куэд щыпсэурт Мысырым.
Ауэ Мысырыр абыхэм адэжь щIыналъэ яхуэхъуакъым, хамэ хэкути, а
зэрахамэу къэнащ. Мысырым и цIыхухэр Израилым къикIабыхэм
ящышынэрт я хэкур абыхэм фIаубыдынкIэ икIи жаIэрт: „Ди хэкум
куэдыIуэ ис хъуащ Израилым щыщу. Апхуэдэурэ кIуэмэ, куэд
дэмыкIыу абыхэм Мысырыр зэрыщыту яIэщIыхьэнущ".
Мысырым и пащтыхь фирхьэунри апхуэдэу
егупсыс хъуат Iуэхум:
„Iэмал имыIэу зыгуэр щIэн хуейщ, - жиIащ
абы зэгуэрым. - Абыхэм хуабжьу къахохъуэ, заубгъу. Апхуэдэурэ
екIуэкIмэ, куэд дэмыкIыу абыхэм нэхъ къару ягъуэту, дэ ди хэкум
драхункIэ шынагъуэ щыIэщ.
ПщылIыпIэм игъэувэн хуейщ ахэр псори.
Лэжьыгъэ хьэлъэм я къарур щIихмэ, къарууншэ хъунщи, къыдэзэуэну
къытпэувыфынкъым“.
Арати, Израилым къикIабыхэм фирхьэуным и
унафэкIэ нэхъ лэжьыгъэ хьэлъэ дыдэхэр ирагъащIэу щIадзащ.
Нэхулъэ къыщищIым щыщIэдзауэ, кIыфI хъуху лэжьэн хуейт ахэр.
Израилым къикIабыхэм нэхъыбэу чырбыш
ирагъэщIырт, мысыр къа-лэхэр яухуэн щхьэкIэ е дыгъэвэхым хэту
губгъуэм щагъэлажьэрт. Апхуэдиз лэжьыгъэ хьэлъэ ирагъащIэрэ,
хуабжьу еш пэтми, абыхэм мысырхэм нэхърэ нэхъ къару яIэт. Абы
къыхэкIыуи мысырхэр кIуэ пэтми къащышынэрт абыхэм.
„Сэ сощIэ абыхэм я лъапсэр
зэрызгъэгъущын, - жиIащ зэгуэрым фирхьэуным. - ЩIалэ цIыкIуу
къалъхуу хъуар дяпэкIэ занщIэу дыукIыурэ зэуэфын цIыхухъу
ямыIэжу къэдгъэнэнщ".
Арати, фирхьэуным хэку унафэу къищтащ:
„Израилым къикIабыхэм щIалэ цIыкIуу
къалъхуу хъуар псори укIын хуейщ". Израилым къикIахэр абы
хуабжьу иринэщхъейрт. Дауэт зэрымынэщхъеи-нур, - абыхэми я
бынхэр хуабжьу фIыуэ ялъагъурт, я къуэхэр узыншэрэ къарууфIэу
къэхъуну хуейт.
Апхуэдэу щыхъум, щIалэ цIыкIу зыгъуэта
журт цIыхубз гуэрым ипхъу Мириам мыпхуэдэу жриIащ:
„Си псэр пыту езгъэукIынкъым сэ абыхэм ди
щIалэ цIыкIур! Сэ сыхуейщ ар псэуну, къаруфIэ, губзыгъэ, инышхуэ
хъуну! Сэ ар хуабжьу фIыуэ солъагъу“.
Арати, матэ цIыкIу ищIащ абы. ИщIри,
мэзышкIэ фIы дыдэу зэщIицIэлэжащ, псы пхымыкIын хуэдэу. ИтIанэ а
матэм сабийр ирилъхьэри псы Iуфэ къамылым хигъэпщкIуащ. Псы
Iуфэм Iусу сабийм кIэлъыплъырт абы ипхъу цIыкIу Мириам.
Апхуэдэу екIуэкIыурэ, хъыджэбз цIыкIум
зэгуэрым къилъэгъуащ фирхьэуным и пхъур. И унэIут хъыджэбзхэр
дэщIыгъуу, абы къызэхикIухьырт псы Iуфэр. Мириам апхуэдизкIэ
къэшынати, ищIэнур имыщIэжу Iэпэлъапэсыс хъуат. Матэр
игъэпщкIунуи анэр къриджэнуи хунэмысу, абы къыбгъэды-хьащ
фирхьэуным и пхъур.
„Мыр сыт?“ - жиIэри, фирхьэуным и пхъум
матэм Iэпэ хуишиящ.
УнэIут хъыджэбзхэм матэр псы Iуфэм
къытрагъэувэрэ и щхьэр трахмэ - сабий цIыкIу илъщ. Фирхьэуным и
пхъур щилъагъум, сабийр къыпыгуфIыкIри и Iэ цIыкIухэр
къыхуишиящ.
„Сыту сабий дахащэ! - жиIащ фирхьэуным и
пхъум. - Мыр журт щIалэ цIыкIущ. СхукIэлъыплъын цIыхубз
згъуэтыну сщIамэ, сэ къэсщтэнт мыр“.
Мириам темыгушхуащэурэ абыхэм
къабгъэдыхьащ.
„Сэ зы цIыхубз соцIыху сабийм
кIэлъыплъыфыну, - жиIащ абы, - ухуеймэ, сыкIуэнщи,
къыпхуезджэнщ".
Арати, Мириам жэкIэ кIуащ, и анэр
къишэну. Фирхьэуным и пхъум ищIэртэкъым ар сабийм зэрианэр.
„КхъыIэ, мы сабийр къащти, ин хъуху пIы,
- жиIащ пащтыхьыпхъум. - Ин хъумэ, итIанэ сэ ар сшэнщ ди пащтыхь
сэрейм. Сэ фIэсщынущ абы Мусэ“.
Мириамрэ и анэмрэхуабжьу гуфIэрт. Сабийр
япIыну хуит хъуат ахэр! Иджы зыми иукIыну хуиттэкъым ар, сыту
жыпIэмэ псоми ящIэрт ар фирхьэуным и пхъум зэрейр.
Мусэ, ауэрэ, къикIухь, псалъэ хъуащ. Ар
щIалэ цIыкIу нэжэгужэт, жыджэрт, и шыпхъум дэщIыгъуу псы Iуфэм
щыджэгунуи фIэфIт.
Ауэрэ, илъэсхэр 6лэкIри, Мусэ ныбжьыщIэ
дахэ икIи Iэчлъэч къищIыкIащ. Фирхьэуным и унэшхуэм щыпсэурт ар.
АтIэми Мусэ ищIэрт езыр зэрэмымысырыр. Ар
куэдрэ якIэлъыплъырт 6ыдапIэм пэмыжыжьэу щылажьэ израил
цIыхухэм. Ахэр зэхэукIа, нэщхъей зэпыту щытт.
„СыткIэ сэбэп сахуэхъуфыну, ярэби,
мыбыхэм“, - жиIэурэ куэдрэ егупсысырт ар.
Ауэ Тхьэм щыгъупщакъым, IэщIыби ищIакъым
Абы къыхиха и лъэпкъыр. Абы ищIэрт Мысырым къизышыжыфын гъуазэ
гуэр израил цIыхухэм яIэн зэрыхуейр.
Тхьэр хуейт Абы къыхиха и лъэпкъым Ханаан
игъэзэжыну.
„Сэ Мусэ унафэ хуэсщIынщ израил цIыхухэр
Мысырым къришыжыну, - жиIащ Тхьэм. -
ИкIи сэ абы сыдэIэпыкъунщ илъэс куэд и пэкIэ Исуф
сызэрыдэIэпыкъуам ещхьу".
АтIэми ар нэгъуэщI хъыбарщ.
Фирхьэуным и пхъум Мусэ ямыукIыу
къызэрыригъэлам теухуа хъыбарыр фэ къыщывгъуэтынщ Пасэрей
ЗэгурыIуэныгъэм (Ветхий Завет) щыщу Мусэ бегъымбарым итха
етIуанэ тхылъым и япэ, етIуанэ псалъащхьэхэм.
УТIЫПЩЫЖ СИ ЛЪЭПКЪЫР!
Мусэ и щIалэгъуэр фирхьэуным и сэрейм
щигъэкIуащ, зыхуейуэ хъуар щигъуэту. Ауэ Мусэ мысыртэкъым икIи
зэпымычу егупсысырт Израил лъэпкъым и Iуэхур зэрыхъунум. Израил
цIыхухэр мысырхэм я пщылIт икIи, махуэл дамыхыу, абыхэм
яхуэлэжьэну я къалэнт. Мысырхэм яухуэ къалэхэм щхьэкIэ абыхэм
чырбыш ягъэжырт. ТIэкIу жьы зыIурагъэхьэну къэувыIамэ, ахэр
цIыху мыхъужын жыхуаIэм хуэдэу кIуэцIакъухьырт зыгъэлажьэхэм.
Мусэ зэгуэрым хуэзащ зыгъэлажьэ Мысырым
зы израил цIыху хуабжьу кIуэцIикъухьу. Мусэ апхуэдизкIэ
къэгубжьати, еуэри мысырыр иукIащ.
Ар щилъагъум, Мусэ къэшынащ фирхьэуным
къыхуимыгъэгъункIэ, зэуи къалэр ибгынащ. Абы зыщигъэпщкIуащ зыми
къыщамыцIыху щIыпIэ гуэрым. А щIыпIэм ар щылэжьащ мэлыхъуэу.
Хъушэм здыпэрытым, ар куэдрэ егупсысырт израил лъэпкъым и Iуэхур
зэрыхъунум.
Хъушэм яхэту хъупIэм здитым, Мусэ
зэгуэрым къилъэгъуащ и хъуреягъэр мафIэ лыгъейм зэщIищта пэтми,
абы химысхьэрэ мафIэм зримыщIэфIауэ щыт чыцэ гуэрэныр. „Ар сыт
гъэщIэгъуэн, - егупсысащ ар, -пщIащэхэр ис хуэдэуи щытщ, ауэ
зэрыщхъуантIэуи къонэ“.
Абы хэту макъ гуэр къызэхихащ: „Мыдэ
къызэдаIуэт Сэ, Мусэ. Ибрэхьим, Исхьэкъ, Екъуб сымэ я Тхьэр
сэращ. Сэ солъагъу къыхэсха си лъэпкъым бэлыхь зэришэчыр. Уэ уи
къалэнщ а лъэпкъыр Мысырым ипшыжыну. КIуэи, а си псалъэхэр
фирхьэуным схужеIэж".
Мусэ къэшынащ.
„Фирхьэуныр сэ къызэдэIуэнукъым, - жиIащ
абы. - И фIэщ мыхъуххэнур уэ
укъызэрызэпсэлъарщ".
Ауэ Тхьэм Мусэ унафэ къыхуищIащ и къуэш
Хьэрун зыщIигъуу фирхьэуным деж кIуэну.
Ахэр Тхьэм жиIам едаIуэри, кIуащ.
„Дэ ныбжетIэнур Тхьэм къыбгъэдэкIа
псалъэхэщ, - жаIащ абыхэм. - Дэ ди Тхьэм къыбжеIэ:
„УтIыпщыжи, Мысырым игъэкIыж сэ къыхэсха
си лъэпкъыр“.
„Сэ фэ фи Тхьэр сцIыхуркъым, - жиIащ
фирхьэуным, - икIи сутIыпщыжынукъым фи лъэпкъыр“.
Арати, фирхьэуным унафэ ищIащ израил
цIыхухэм нэхъри нэхъ лэжьыгъэ хьэлъэ иратыну, нэхъ хэкъузауи
ягъэлэжьэну.
Ауэ Тхьэм Мусэрэ Хьэрунрэ къигъэгугъащ
фирхьэуныр хигъэзыхьу израил цIыхухэр къригъэутIыпщыжыну.
„Дэ думыутIыпщыжу щытмэ, фи псыежэххэр
лъы хъунущ", - жриIащ Мусэ фирхьэуным. Фирхьэуным къридзакъым
Мусэ жиIар. Арати, мысырхэм я псыр Тхьэм лъы ищIащ.
„Дауэрэ фщIами, сэ израил лъэпкъыр
сутIыпщыжынукъым!“ - губжьауэ кIиящ фирхьэуныр.
Ауэ Тхьэм Мусэ къигъэгугъакIэт израил
цIыхухэр Мысырым къришы-жыну. Арати, Мусэ фирхьэуным деж кIуэри,
аргуэру жриIащ:
„Тхьэм уэ мыпхуэдэу къыбжеIэ: „УтIыпщыж
сэ къыхэсха си лъэпкъыр!“
АрщхьэкIэ фирхьэуныр нэхъри къэгубжьри,
Мусэ жиIэм едэIуэххакъым.
Апхуэдэу щыхъум, псыхэм хьэндыркъуакъуэу
хэсыр къыхэкIри, уэрамхэм дэз, унэхэм щIэз хъуащ, фирхьэуным и
сэрейри хэту. Ар щилъагъум, фирхьэуным Мусэ къыжриIащ:
„Хъунщ-тIэ, яжеIэ израил цIыхухэм
кIуэжыну зэрыхуитыр“.
Ар зэрыжиIэу, хьэндыркъуакъуэхэр зэуэ
бзэхыжащ. Хьэндыркъуакъуэхэр щыбзэхыжым, фирхьэуныр жиIам
епцIыжри, израил цIыхухэр Мысырым къикIыжыну хуит ищIакъым.
ИтIанэ Тхьэм и IэмыркIэ, пшагъуэ фIыцIэм
хуэдэу, Мысырым къытеуащ гъудэ бжыгъэншэхэр. ЦIыхуи Iэщи
къагъанэртэкъым ахэр епщIурэ я шэрэзхэр зыхамыукIэ.
„СоутIыпщ, соутIыпщыж израил цIыхухэр!“ -
къэкIиящ итIанэ фирхьэуныр. АрщхьэкIэ, гъудэхэр зэрыбзэхыжу,
аргуэру жиIам епцIыжри, израил цIыхухэр иутIыпщыжакъым
фирхьэуным.
КъыщимыутIыпщыжым, Тхьэм Iэщыр зэрылIыкI
уз бзаджэ къахигъэхьащ Мысырым. Уз бзаджэм мысырхэм я Iэщыр
лъэрыщIыкI ищIырт, ауэ израил цIыхухэм ейм зэран лъэпкъ
хуэхъуртэкъым.
„ИрекIуэжхэ“, - унафэ ищIащ фирхьэуным
итIанэ.
Уз бзаджэр зэращхьэщыкIыу, фирхьэуным,
аргуэрыжьти, и унафэр ихъуэ-жащ.
„Фэ мыбы фыкъэнэн хуейщ", - жиIащ абы.
Мусэрэ Хьэрунрэ фирхьэуным мыпхуэдэу
жраIащ итIанэ:
„Ди лъэпкъыр умыутIыпщыжмэ, мысырхэм
игъащIэм фымылъэгъуа борэнышхуэ уэ щIэту къэхъунущ".
АрщхьэкIэ фирхьэуным къридзакъым абыхэм
жаIэр.
Арати, уэ зыщIэт борэн шынагъуэр Мысырым
къыщхьэщыхьащ. Израил цIыхухэр щыпсэухэм фIэкIа къэмынэу, псэ
зыIутуи къэкIыгъэуи губгъуэм, хьэсэхэм иту хъуар щIым щыщ
ищIыжащ уэм.
„Хъунщ, фызоутIыпщыж", - жиIащ
фирхьэуным.
Ауэ, борэныр зэрыувыIэххэрауэ, фирхьэуныр
жиIам епцIыжащ.
Мусэ итIанэ фирхьэуным жриIащ Тхьэм
Мысырым мацIэр къатригъауэу гъави, удзи, пхъэщхьэмыщхьи
къахуимыгъанэу зэрыригъэшхынур. А зэрыжиIам хуэдэуи хъуащ.
Тхьэм кIыфIыгъэр щIыгум къыщхьэщигъэхьащ
итIанэ. МахуищкIэ, жэщым ещхьу, нэм къыщIэIэбэр умылъагъу
жыхуаIэм хуэдэу кIыфIу щытащ. А бэлыхь къомыр къэхъуа нэужькIэщ
Фирхьэуным израил цIыхухэр къиутIып-щыжыну къыщигъэгугъар. Ауэ
гузэвэгъуэр зэращхьэщыкIыу, абы и унафэр аргуэру ихъуэжащ.
Тхьэм Мусэ къыжриIащ итIанэ:
„Израил цIыхухэм яжеIэ мысыр щIыналъэм
зэрикIыжынум зыхуагъэхьэзы-рыну. Фирхьэунми жеIэ сэ жэщ
ныкъуэхэм деж Мысырым сынызэрыкIуэнур. Си жыIэр зэрамыгъэзэщIам
къыхэкIыу, мысыр унагъуэхэм сабий нэхъыжьу ису хъуар а жэщым
зэтелIэнущ".
Мусэ израил цIыхухэм яжриIащ щынэм
къыщIэжа лъы я бжэблыпкъхэм щахуэну. Апхуэдэ щIыкIэкIэ израил
цIыхухэм я унэхэр наIуэ хъунурэ Тхьэм и тезырыр мысырхэм
щатрилъхьэм деж езыхэм я сабийхэр къелынут.
Израил цIыху псоми апхуэдэу ящIри, я
сабийхэм къащымыщIIауэ къэнащ.
ИкIэм-икIэжым, фирхьэуныр езыр Мусэ
къелъэIуащ израил цIыхухэр Мысырым иришыжыну.
„Тхьэм гугъуехь куэд фэр щхьэкIэ
дигъэшэчащ дэ, фежьи фыкъыздикIам фыкIуэж", - жиIащ абы.
Тхьэм къыхиха и лъэпкъыр Мысырым
къришыжащ апхуэдэ щIыкIэкIэ. Ар езыр гъуэгугъэлъагъуэу яIэт
абыхэм: махуэкIэ пшагъуэ гуэрэн зищIырти, къащхьэщыту кIуэрт,
жэщкIэ - нур кIапсэу зишэщIырти, мыгъуэщэн щхьэкIэ, гъуэгур
къахуигъэнэхурт. Сытми, икIэм-икIэжым, я хъуэпсапIэр
къехъулIауэ, израил цIыхухэр кIуэжырт Ханаан щIыналъэм - Тхьэм
къызэригъэгугъауэ щыта щIыналъэм.
Израил лъэпкъым я пашэ Мусэ теухуа
хъыбарым фыкъыщеджэ хъунущ Мусэ бегъымбарым итха етIуанэ тхылъым
и 2-нэ псалъащхьэм щыщIэдзауэ е I2-нэр къыхиубыдэу.
|