Библие Хъыбархэр 2

 

ТХЬЭМ И ЛЪЭПКЪЫР КЪЫЗЭРИГЪЭГУГЪА
ХЭКУМ ХУЭКIУЭ ГЪУЭГУАНЭМ
  

Израил лъэпкъыр илъэс куэдкIэ Мысырым щыпсэуащ. Ауэ израил цIыхухэр щIэхъуэпсырт я хэкужьым, Ханаан щIыналъэм, щыпсэужыну. Мысырым ахэр гъэру, пщылIу яIэт, абы къыхэкIыуи фирхьэуныр хуейтэкъым къиутIыпщыжыну. Апхуэдэу щыхъум, Тхьэм израил цIыхухэм гъуазэу къаритащ Мусэ. Мусэ къигъэсэбэпурэ, Тхьэм фирхьэуныр иригъэзащ мыпхуэдэу жиIэну: „Фи хэку фыкIуэжыну хуит фызощI“. Арати, Мусэ израил лъэпкъыр Мысыр хэкум къришыжащ.

 

АрщхьэкIэ фирхьэуныр жиIам хущIегъуэжри, Iуэхум нэгъуэщIу егупсысыжащ. Апхуэдэ къыхэкIыжыну зи мыгугъа израил цIыхухэр гъуэгуанэ здытетым, шы лъэ макъ куэд къызэхахри, зэплъэкIащ. Мысырхэр къакIэлъыпхъэрауэ къакIэлъыжэрт. Израил цIыхухэр, ящIэнур ямыщIэжу, бызэрыхьзэрий хъуащ. Абыхэм къапэщылът гъуни-нэзи зимыIэжу къыпщыхъу тенджызыр. ЯщIэнур ямыщIэу, цIыхухэр Мусэ еплъырт. „Фымышынэ, - жиIащ Мусэ. - Иджыпсту фи нэкIэ флъагъунщ, дэ дыкъихъумэн щхьэкIэ, Тхьэм хуэщIэнур зыхуэдизыр”.

 

Ар жиIэри, башыр зэриIыгъ Iэр Мусэ тенджызымхуишиящ. Зэрыхуишийуэ, Тхьэм жьапщэшхуэр къарищIэкIри, жэщым нэху щыху мыувыIэу къепщащ, тенджы-зышхуэр зэгуэури, удэкI хъууэ, тIу ирищIыкIащ. Арати, пIащIэгъуэр яIэу а зэхуакум дыхьэри, зыри къащымыщIу израил цIыхухэр адрей тенджыз Iуфэм къы-щыхутащ. Абыхэм къакIэлъыжэурэ, мысыр цIыхухэр, тенджы зэгуэуам и зэхуакум къызэрыдыхьэу, тенджызыр зэхуэкIуэжри, къанэ щымыIэу псори хитхьэлыхьащ.

 

Ар и щIыкIэу, израил цIыхухэр къелащ. ГуфIэгъуэр яIэрэ хэти уэрэд къришу, хэти къафэу ахэр я гъуэгуанэ теувэжащ.

 

Гъуэгуанэ кIыхь зэпачащ абыхэм. КIыхьым и мызакъуэу, ар икIи хуабжьу гъуэгуанэ гугъут, сыту жыпIэмэ ахэр кIуэцIрыкIырт жьэражьэу дыгъэр зыщхьэщыт губгъуэ нэщIыжьым. Ауэрэ цIыхухэм тхьэусыхэу щIадзащ. „Сыт дэ тшхынури ди псыхуэлIэ зэридгъэкIынури?“ -жаIэрт абыхэм.

„Сэ фыкъысщыгугъ“, - жиIащ Тхьэм.

 

Арати, къыкIэлъыкIуэ пщэдджыжьым абыхэм къалъэгъуащ, жэпым ещхьу, щIыгум хужь гуэр зэрытелъыр. Ар IэфIт, фокIэ ящIа хьэлыуэм хуэдэу. ЦIыхухэр „мэннкIэ“ абы еджэрт. Зы пщэдджыжь къэмынэу, а шхыныгъуэр Тхьэм цIыхухэм тыгъэ къахуищIырт.

 

Тхьэм Мусэ зэгуэрым къыжриIащ:

„Си жыIэм тету щытын щхьэкIэ, цIыхухэр зэрыпсэун хуей щIыкIэр ныбжесIэнут".

 

Синай бгыми жьэгъум дежизраил цIыхухэм яхэщIапIэр щаухуат. Тхьэм жиIэр зэхихын щхьэкIэ, Мусэ бгым и щхьэ дыдэм дэкIащ. Тхьэм Мусэ къритащ цIыхухэр зэрыпсэун хуей Торэт хабзэр. А хабзэм хэтт Тхьэм и унафэу пщIыр.

Мусэ, къимыгъэзэжу, бгыщхьэм куэдрэ тетащ, Тхьэм епсалъэу, абы къежьэу зэхэт цIыху къомри ешащ. Абыхэм зэхуэтхьэусыхэжурэ жаIэрт:

„Сыт зэрытщIынур дэ дымылъагъу Тхьэ?!“

 

Арати, дыщэ Iэлъынуи щыгъэуи яIэр зэхуахьэсщ, ягъэткIури, дыщэ защIэу танэ сурэт ягъэжащ.

 

„Мис мыращ дэ ди тхьэр“, - жаIащ цIыхухэм.

 

ИкIи дыщэм къыхащIыкIа танэм и хъуреягъыр къафыхьу щIадзащ. Мусэ бгым къехыжри, дыщэ танэм щхьэщэ хуащIу израил цIыхухэр щилъагъум, хуабжьу къэгубжьащ. АпхуэдизкIэ къэлыбати, дыщэ танэр цIыкIу-цIыкIуу зэхикъутащ. Израил цIыхухэр хущIегъуэжащ дыщэ танэр зэрагъэлъэпIам. Абыхэм псалъэ быдэ ятащ унафэ къыхуащIахэм темыкIыу тетыну, Тхьэм и хабзэм хуэпэжу псэуну.

 

Арати, Тхьэм Мусэ унафэ къыхуищIащ шэтыр щхьэхуэ хуиухуэну. Псоми ялъагъун хуэдэу Мусэ ар щиухуащ къуажэ цIыкIум ещхьу зэхагъэува шэтырхэм я курыкупсэм. Тхьэм и шэтырыр хуабжьу дахэт.

 

Шэтырым и кIуэцIым иIэт Тхьэм и унафэхэм щхьэкIэ хъумапIэ. Унафэхэр дэлът дыщэ къабзэм къыхэщIыкIа пхъуантэм. Пхъуантэм и щхьэтепIэр гъэщIэрэщIат зи дамэхэр укъуэдия мэлыIычитIым я сурэтхэмкIэ. Абдежым къыщыщIэдзауэ, дэнэ Iэпхъуами, израил цIыхухэм здашэрт Тхьэм и унэмрэ пхъуантэмрэ, Тхьэр я гум илъ зэпыту щытын щхьэкIэ.

 

Тхьэм Мусэ мыпхуэдэу къыжриIащ зэгуэрым:

„Псым адрыщIкIэ къыщылъщ сэ къыхэсха си лъэпкъыр къызэрызгъэгугъауэ щыта Ханаан хэкур. ЦIыху зыбжанэ гъакIуэ абы, зэрыщытыр ялъагъуу адрейхэм жраIэжын хуэдэу".

 

Мусэ цIыху пщIыкIутI игъэкIуащ а щIыналъэм еплъыну. Еплъхэри, пхъэщхьэмыщхьэр ярызу матэ зырыз яIыгъыу къагъэзэжащ.

„ЩIыналъэ дэгъуэщ ар, - жаIащ Ханаан къикIыжа цIыхухэм, - ауэ дэ дихьэфынукъым а хэкум, сыту жыпIэмэ иныжьхэр щопсэу".

 

Ауэ къэкIуэжахэм ящыщитIым, Нун и къуэ Ехьошуарэ Калеврэ, моуэ жаIащ:

„Дэ зыми дыщIыщышынэн щыIэкъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ Тхьэр тщIыгъущ, ди лъэныкъуэщ!“

АрщхьэкIэ израил цIыхухэр едэIуакъым абыхэм жаIэм.

 

„Дэ иныжьхэм я деж зэуакIуэ дыкIуэнукъым, - жаIащ абыхэм. - Абы нэхърэ лъэпкъ гъуазэ хэтхыу Мысырым дгъэзэжмэ, нэхъыфIщ".

 

„Дапщэщ фэсэ фIэщхъуныгъэ нэскъысхувиIэщыхъунур? - яжриIащ Тхьэм цIыхухэм. - Зэрыфлъагъущи, си нэIэ зэи фтекIакъым, фщIэнур фымыщIэжрэ фыкIэрахъуэу гъуэгум фыкъытезнакъым, епцIыж къы-хэмыкIыу фыкъызэрызгъэгугъахэр дапщэщи згъэзэщIащ. ИтIани сэ жысIэр фи фIэщ фщIыну фыхуейкъым. Ауэ щыхъукIэ, мы къумым иджыри илъэс плIыщIкIэ фыщыпсэу!“

 

Ауэ израил цIыхухэм я мыарэзыныгъэмрэ тхьэусыхэмрэ кIэ иIэжыххэтэкъым. Апхуэдэу щыхъум, Тхьэм абыхэм къахиутIыпщхьащ щхъухькIэ зи шэрэзхэр гъэнщIа блэхэр, ахэр зэуа цIыху куэди щхъухьым илIыкIащ.

„Ар Тхьэм и жыIэм дызэремыдэIуам щхьэкIэ къыттрилъхьа тезыру аращ", - жаIэри къахуигъэгъуну Тхьэм елъэIуу щIадзащ.

 

Тхьэм Мусэ къыжриIащ итIанэ: „Гъуаплъэм блэ сурэт къыхэщIыкI, чы щхьэкIэм фIэIуи, щIым хэтIэ“.

 

Тхьэм жиIар игъэзащIэри, Мусэ цIыхубэм яжриIащ:

„Тхьэм унафэ къыфхуещI абы фыщыгугъыну. Блэ зэуар мис мы блэ гъуаплъэм къыхэщIыкIам зэрыIуплъэу, узыншэ хъужынущ". ЦIыхухэм абы зэрыжиIэм хуэдэу ящIащ икIи Тхьэм жиIар зи фIэщ хъуа псори зэуэ хъужащ.

АрщхьэкIэ израил цIыхухэм я фIэщ хъуртэкъым Тхьэм ахэр къызэригъэгугъа хэкум ишэжыфыну. Мусэ жьы хъуати, абыхэм пашэ яхуэхъужыфыртэкъым. Арати, Тхьэм Мусэ жриIащ израил цIыхухэм я лъэпкъ гъуазэу Нун и къуэ Ехьошуа зэрыхихыр.

 

Апхуэдэу щыхъум, Мусэ Нун и къуэ Ехьошуа утыкум къришэри, ар лъэпкъ гъуазэу зэраIэнур цIыхубэм яжриIащ.

 

„Мыр Тхьэм къыхиха цIыхущ икIи абы фэ Тхьэм фызэригъэгугъа хэкум фишэжынущ" , - жиIащ Мусэ.

 

Куэд дэмыкIыу Мусэ лIащ. ЦIыхухэм хуабжьу ягу щIыхьат а гуауэр, гухэщIуи ягъейрт. Мусэ илъэс куэдкIэ гъуазэрэ щхьэщыжакIуэу яIат абыхэм.

Иджы цIыхухэм шэч лъэпкъ къытрамыхьэжу къагурыIуат Тхьэм щыгугъыу, фIэщхъуныгъэ хуаIэрэ и жыIэм тету щытын зэрыхуейр, Тхьэм къызэригъэгугъауэ щыта Ханаан хэкум зышэфыну Нун и къуэ Ехьошуа и ужь иувэну псори хьэзырт.

 

Мы хъыбарыр къыщывгъуэтынщ Мусэ бегъымбарым итха етIуанэ икIи еплIанэ тхылъхэми, Нун и къуэ Ехьошуа и хъыбар зэрыт тхылъми.

 

ЕРИХОН ЩХЬЭКIЭ ЕКIУЭКIА ЗАУЭ

Израил цIыхухэм я шэтырхэр Иордан псым и Iуфэм деж щаухуащ. Псым узэпрыкIмэ, Ханаан щIыналъэр къыщылът. Тхьэм израил лъэпкъыр къигъэгугъат а щIыналъэр къаритыну. А хэкур къалъыхъуэу илъэс куэдкIэ къумым итащ израил лъэпкъыр. ИкIэмикIэжым, мис, а щIыналъэр я пащхьэм къилът абыхэм.

 

Тхьэм Нун икъуэ ЕхьошуакъыжриIащ: „Мисмы щIыналъэр тыгъэ фхузощI, сэ фIэщхъуныгъэ къысхувиIэрэ фыкъызэдаIуэу фыщытынумэ.

Мусэ сызэрыщIыгъуам ещхьыркъабзэу, уэри сыпщIыгъунущ. Ауэ щыхъукIэ, фымышынэ зы щхьэкIи. Сэ зэи фи закъуэу фыкъэзгъэнэнукъым“.

Нун и къуэ Ехьошуа хуабжьу гуфIащ Тхьэр къызэрепсэлъам, апхуэдэу къызэрыжриIам щхьэкIэ, сыту жыпIэмэ Ханаан щIыналъэм ис лъэпкъым езэуэн хуейуэ израил цIыхухэм къапэщылът.

 

Нун и къуэ Ехьошуа цIыхубэм яжриIащ мыпхуэдэу: „Хьэзыру фыщыт, Ханаан хэкум дихьэну дожьэ“.

 

Израил цIыхухэр хуабжьу иригуфIащ а зэхахам. Я шэтырхэр зэпкърахыжу, я хьэпшыпхэр зэкIуэцIалъхьэжу щIадзащ. Нун и къуэ Ехьошуа цIыхуитIым я пщэ ирилъхьащ Ханаан хэкум кIуэуэ абы щыпсэу лъэпкъым теухуауэ къапщIэ хъунур зэрагъэщIэну.

 

„Дэ псым дызэрикIынум зыхуэдгъэхьэзырынщ, - жиIащ Нун и къуэ Ехьошуа, - фэ тIур апщIондэху Ерихон къалэм фыкIуи, дызыхуейхэр псори зэвгъащIэ.

ТIасхъэщIэххэр псым зэпрыкIри, щэхуу къалэм дыхьащ. Бжэ инхэр зыхэлъ блын лъагэкIэ къэщIыхьыжауэ, Ерихон бийм зыщыхъумэным хуабжьу хуэщIа къалэт. Ерихон тIасхъэщIэххэр щыIущIащ къалэ блыным ещIылIа унэ гуэрым щыпсэууэ РахавкIэ зэджэ цIыхубзым.

 

Ерихон и тепщэм къищIащ я къалэм хамэ цIыху гуэрхэр къызэрыдыхьар икIи унафэ ищIащ икIэщIыпIэкIэ ахэр къаубыдыну. АрщхьэкIэ Рахав а тIур унащхьэм дришейри, абы телъ джуныгу пхырхэм зыхагъэпщкIуащ.

„Сэ фи Тхьэм ищIа Iуэхушхуэ телъыджэхэм я хъыбар куэд зэхэсхащ, - къажриIащ Рахав тIасхъэщIэххэм. - Къалэр фубыда нэужь, самыукIыу сыкъевгъэлыну сыкъэвгъэгугъэ“.

 

Ахэм цIыхубзыр къагъэгугъащ. КIыфI хъуа нэужь, Рахав къадэIэпыкъуурэ, ахэр къалэм къыдэкIыжащ икIи къащымыщIIауэ я цIыхухэм деж къагъэзэжащ.

 

ЦIыхухэр хуэхьэзырт псым зэрызэпрыкIынум. АрщхьэкIэ псым лъэмыж телътэкъым, израил цIыхухэми кхъуафэжьей яIэтэкъым. Апхуэдэу щыхъум, Тхьэм и унафэхэр зыдэлъ пхъуантэр зезыхьэхэр япэ ирагъэуващ. Пхъуантэр зэрыщыту дыщэти, дыгъэм пэлыдырт. ЦIыхухэр Иордан зэрыхыхьэу, псым зэуэ жэн щигъэтащ. Пхъуантэр зыIыгъхэр псым и курыкупсэм деж щытащ цIыху псори Иордан зэпрыкIыху.

 

ИкIэм-икIэжым, израил цIыхухэр нэсащ Ханаан щIыналъэм. Абыхэм Тхьэм фIыщIэшхуэ хуащIащ Иордан псым зэпрыкIыну къазэрыдэIэпыкъуам щхьэкIэ. Нун и къуэ Ехьошуа унафэ ищIащ мывэшхуэу пщыкIутI Иордан псыхъуэм къыдахыну. Мывэхэр къахьу зэтралъхьа нэужь, Нун и къуэ  Ехьошуа моуэ жиIащ:

„Нобэ щыщIэдзауэ мыбдежым 6лэкI дэтхэнэми къилъагъунущ мы мывэхэр. Ахэр и фэеплъу щытынущ Тхьэм израил лъэпкъыр Иордан зэрызэпришам“.

Арати, цIыхубэр иришажьэри Нуни къуэ Ехьошуа Ерихон къалэм хуиунэтIащ. Ерихон къызэрыщIыхьа блыныр хуабжьу лъагэт, куэбжэ хэлъхэри быдэу гъэбыдат.

 

„Сэ тыгъэ фхуэсщIынщ мы къалэр, - жиIащ Тхьэм. - Ауэ ар къыщыхъунур махуэ ебланэрщ".

 

„МахуихкIэ къалэм и хъуреягъэр къэфкIухьынущ. Бжьамийхэм епщэу цIыхуибл Тхьэм и унафэхэр зыдэлъ пхъуантэр зыхьхэм япэ иту кIуэн хуейщ. Пхъуантэр зыхьхэм я ужь итыну зауэлIхэр щыму ирекIуэ. Махуэ ебланэм къалэм и хъуреягъэр блэнейрэ къывокIухь. ИтIанэ пхъуантэм и ужь иту кIуэ цIыхухэр ину къыхокIиикIри, - итIанэ къалэр фыфейщ".

 

Нун и къуэ Ехьошуа Тхьэм зэрыжиIам тету псори ищIащ. Махуихым къриубыдэу израил цIыхухэм Тхьэм и унафэхэр зыдэлъ пхъуантэр яIыгъыу Ерихон къалэм и хъуреягъэр къакIухьащ. Къалэ блынхэм тету, къалэ дэсхэр абыхэм къахэплъэрт.

 

ЦIыхубэм япэ иту кIуэрт бжьамийм ину епщэхэр. Бжьамийхэм я макъыр шынагъуэу жыжьэ Iурт. Бжьамияпщэхэм я ужь итт Тхьэм и унафэхэр зыдэлъ пхъуантэр зыхь цIыхухэр. Пхъуантэм и ужь итрэ щыму, адрей израил цIыху къомыр кIуэрт.

 

Махуэ ебланэм, израил цIыхухэм хэнейрэ къакIухьащ Ерихон къалэр. Абы дэсхэр хуабжьу къэшынат. Абыхэм къагурыIуэртэкъым израил цIыхухэм я мурадыр. Арати, блэнейрэ Ерихон къакIухьа нэужь, Нун и къуэ Ехьошуа унафэ ищIащ псори зэуэ къэкIиину. А унафэм цIыхухэр иригуфIащ, сыту жыпIэмэ куэдыIуэрэ щыму щытат. Арати, израил цIыхухэр зыжьэу къыщыкIийм, Ерихон и блынхэр зэтещэхащ.

 

Апхуэдэу щыхъум, текIуэныгъэр къэзыхьа израил цIыхухэр, Тхьэм зэрыжиIам тету, къалэм дыхьэри, яубыдащ.

 

„НтIэ, мис иджы фыкIуи, дыкъызэрывгъэгугъар вгъэзащIэ, - яжриIащ  Нун и къуэ Ехьошуа Рахав къригъэла тIасхъэщIэххэм. - Ар вгъэзэщIа нэужь, дэ Ерихон зэхэткъутэн хуейщ".

 

Ар и щIыкIэу, израил цIыхухэм япэ текIуэныгъэр къыщахьащ Тхьэм яхухиха хэкум.

 

Нун и къуэ Ехьошуа ищIэрт израил цIыхухэм сытым дежи Тхьэм дзыхь хуащIын зэрыхуейр.

 

„Зауэ куэд къытпэщылъщ дэ дяпэкIи, - яжриIащ абы цIыхубэм. - Ауэ дэ дыщIэшынэн лъэпкъ щыIэкъым, сыту жыпIэмэ Тхьэм тщIыгъуну дыкъигъэгугъащ".

 

Ерихон къызэращтам теухуа хъыбарыр Библием къивджыкIыну фыхуеймэ, фэ ар къыщывгъуэтынущ Нун и къуэ Ехьошуа и хъыбар зэрыт тхылъым и еханэ псалъащхьэм.

  

ГИДЕОН

Израил цIыхухэр Тхьэм емыдэIуэж хъуат. Ахэр хуейтэкъым афIэкIа Тхьэм и унафэхэм щIэтыну, абы и унафэхэм тету псэуну. Апхуэдэу здекIуэкIым, израил цIыхухэм къытеуэу щIадзащ Мадианщыщхэр. КъатеуэхукIи, израил цIыхухэм гъавэрэ Iэщу яIэр абыхэм зэщIакъуэрт. Апхуэдэурэ, израил цIыхухэм гъаблэр къалъэIэсащ. Мадиани щыщ зэрыпхъуакIуэхэм зыщахъумэурэ, ахэр къурш жьанэм дыхьэжырти, бгъуэнщIагъхэм щIэсу псэурт. Щымыхъужым, израил цIыхухэр Тхьэм елъэIуащ гущIэгъу къахуищIыну.

 

Израил цIыхухэм яхэтт ГидеонкIэ еджэу зыгуэр. ЩыцIыкIум щыгъуэ ар фIэфIыпсу щIэдэIуу щытащ Тхьэм теухуа хъыбархэм. Псалъэм папщIэ, ар фIэгъэщIэгъуэн дыдэу щIэдэIурт Тхьэм и дэIэпыкъуныгъэкIэ Мусэ израил лъэпкъыр Мысырым къызэрыришыжам теухуа хъыбарым.

 

„Дэнэ-тIэ иджы Тхьэр здэщыIэр? - щIэупщIащ Гидеон. - Ар къыддэмыIэпыкъумэ, дэ Мадиан щыщ зэрыпхъуакIуэхэм дапэлъэщынукъым“. Гидеон зэкIэ ищIэртэкъым, балигъ хъуа нэужь, ар Мадиан щыщ зэрыпхъуакIуэхэм ятекIуэну Тхьэм Iэмыр зэрищIагъэххэр.

НыбжьыщIэ зэрыхъуу Гидеон къыхуэкIуащ Тхьэм и лIыкIуэ мелыIычыр. „Тхьэм уэ укъыхуреджэ Мадиан щыщ зэрыпхъуакIуэхэм езэуэн папщIэ, израил лъэпкъыр къызэщIэбгъэтэджэну, - къыжриIащ мелыIычым Гидеон. - Зы щхьэкIи умышынэ, Тхьэр сытым дежи пщIыгъунущ".

Ауэ Гидеон тIэкIуи игъэшынат абы къыжриIам.

 

„Сэ лъэпкъым гъуазэ сахуэхъункъым, - жиIащ абы. - Сэ тепщэхэм сакъыхэкIакъым, ауэ щыхъукIэ цIыхухэр си жыIэм къедэIуэнукъым“.

„Уэ ар плъэкIынущ, сыту жыпIэмэ Тхьэр абыкIэ къыбдэIэпыкъунущ, - жэуап къритыжащ мелыIычым. Ар жиIэри, мелыIычыр бзэхыжащ.

 

Ауэ Гидеон и фIэщ хъуакъым мелыIычым и жьэкIэ абы Тхьэр къепсэлъауэ. Арати, Тхьэм ар елъэIуащ а къалэныр къызэрыхуигъэувар къигъэнэIуну.

„Ди Тхьэ, Мадиан щыщ зэрыпхъуакIуэхэм сатекIуэныр пфIэкъабылмэ, зы нэщэнэ гуэркIэ ар къэзгъащIэ“.

 

Арати, жэщ зэрыхъуу Гидеон мэлыфэр бгъуэнщIагъым къыщIихри иубгъуащ.

Пщэдджыжьым еплъмэ, мэлыфэр уэсэпсым псыфыбзэ ищIат, щIыгур зэрыщыту гъущэ пэтми. Ар Тхьэм Гидеон къыхуищIа нэщэнэт.

 

АрщхьэкIэ Гидеон и фIэщ хуэщIтэркъым абы Тхьэр къызэрепсэлъар. „Ди Зиусхьэн, сэ сыхуейщ Мадиан цIыхухэм сатекIуэныр уэ уи гукъэкIыу зэрыщытыр хьэкъ сщыхъуну. Сэ мэлыфэр а здэзубгъуауэ щытам деж жэщым аргуэру къыщызнэнщ. Къысхуэгъэгъу, ауэ сэ сыхуейт иджыри апхуэдэу пщIыну, ауэ мы зэм зэдзэкIауэ: щIыгур псыфрэ мэлыфэр гъущэу къэнэну".

Арати, а зэрищIауэ щытам ещхьу, мэлыфэр бгъуэнщIагъ гупэм деж щиубгъуащ. Пщэдджыжьым йоплъри - щIыгум зэрыщыту уэсэпсыр къытехащ, ауэ мэлыфэр гъущабзэщ. ИтIанэ Гидеон хьэкъ щыхъуащ мелыIычым и жьэкIэ абы Тхьэр къызэрепсэлъар.

 

Апхуэдэу щыхъум, ГидеонизраилцIыху псори къыхуриджащя 6гъуэнщIагъхэмрэ шэтырхэмрэ къыщIэкIыу бийм зэрыпэувынум зыхуагъэхьэзырыну. Арати, зэуэ зэхуэсащ зэуэным хуэхьэзыррэ мин бжыгъэ куэд хъууэ дзэшхуэ.

 

АрщхьэкIэ Тхьэм Гидеон къыжриIащ:

„Мы зэхуэпшэсар дзэшхуэIуэщ. А дзэмрэ уэрэ мыхъуу, мы зауэм текIуэныгъэр сэ къызэрыщысхьынур уи нэгу щIэзгъэкIыну сыхуейщ".

Арати, Гидеон цIыхухэм яжриIащ: „Хэт и щхьэ тешыныхьми, дзэм хэмыхьэну хуит сощI. Гидеон апхуэдэу щыжиIэм, дзэм и зэхуэдитIыр зэбгрыкIыжащ.

Тхьэм Гидеон къыжриIащ итIанэ:

„Уи дзэр иджыри иныIуэщ. Ахэр псафэ шэи, псы егъафэ икIи еплъ хэт дапхуэдэу ефэми. Лъэгуажьэмыщхьэ зизыгъауэу псым занщIэу хэфхэр къанэ щымыIэу утIыпщыж.

 

Къэбгъэнэнур IэмыщIэкIэ къыщIэзыгъалъэурэ ефэнухэращ. А гуп цIыкIум фIэкIа пщIымыгъуу сэ Мадиан щыщхэм уатезгъэкIуэнщ". Апхуэдэу ищIа нэужь, Гидеон и дзэр зэрыхъужар щищ къудейщ.

 

„Сэ укъызогъэгугъэ узмыбгынэну, - къыжриIащ Тхьэм Гидеон. - Ауэ иджыри ушынэмэ, Мадиан щыщхэм я хэщIапIэм щэхуу екIуалIи, жаIэм щIэдэIу".

Гидеон щэху дыдэу екIуэлIащ Мадиан щыщхэм я хэщIапIэм. ИкIи зэхихащ абыхэм жаIэр:

„Гидеон дэ къыттекIуэнущ. Ар езы Тхьэ дыдэм къигъэгугъащ къыдэIэпыкъуну".

Ар щызэхихым, Гидеон хьэкъ щыхъуащ мы зауэм Тхьэр абы къызэрыщыдэIэпыкъунур.

 

Пшапэ зэрызэхэуэу, Гидеон и цIыхур гупищу игуэшащ. ЗауэлIхэм яIыгът кхъуэщын нэщI зырыз, мафIэр къыпихыу пхъакъуэ зырыз, бжьамий зырыз.

„Фи пхъакъуэхэр кхъуэщыным ифлъхьэ, - жиIащ Гидеон, - икIи, сэ вжесIэху, щыму фыщыт. ИтIанэ, си дежкIэ фыкъаплъэурэ, сэ зэрысщI дыдэм хуэдэу фщIы“.

 

Арати, зауэлIхэр Мадиан щыщхэм я хэщIапIэм щэху дыдэу екIуалIэри, къа-увыхьащ. Iуэхур абы щынэсым, Гидеон зэуэ кхъуэщыныр икъутэри, пхъа-къуэр кърихащ, къызэрырихыуи занщIэу къэлыдащ. Гидеон бжьамийм ину епщэри, зауэлIхэм яхэгуоуащ:

„Тхьэмрэ Гидеонрэ я джатэр!“

Абы зэрищIа дыдэм хуэдэу и зауэлIхэми ящIащ.

 

МафIэр къызыпих пхъакъуэ куэдыкIейм къаувыхьащ бийм я хэщIапIэр. Мадиан щыщхэр къыщIэушащ израил цIыхухэм я гуо макъымрэ бжьамий къомым я джэ макъымрэ. Мадиан щыщхэри апхуэдизкIэ къэшынати, дзэшхуэ къатеуауэ фIэкIящIакъым. Мо кIыфIым абыхэм къахуэщIэртэкъым зэзауэр хэтми, езыхэм ящыщхэмрэ ящымыщхэмрэяхузэхэгъэкIыртэкъым. Арати, шынэр къатекIуэри, Мадиан щыщхэр щIэпхъуэжащ.

 

Израил цIыхухэм я текIуэныгъэр пшэдджыжьым ягъэлъапIэрт. Абыхэм уэрэд жаIэрт, нэжэгужэт. Псори иригуфIэрт Гидеон Тхьэм и жыIэм щIэдэIуу лъэпкъ тхьэмадэ зэрахуэхъуам.

 

ФIыщIэшхуэ хуащIу, ахэр Тхьэм елъэIурт икIи жаIэрт:

„Дэ хуабжьу дыхущIогъуэж, ди Зиусхьэн, уи унафэм дытекIыу зэрыщытам. Иджы дэ дыхуейщ уэ къыдэпта хэкум уи лъэпкъ дыщыхъуну".

Гидеон Тхьэм къыхиха цIыхут. Абы игъэзэщIащ Тхьэм и унафэр икIи Тхьэм ар тригъэкIуащ израил цIыхухэм я бийхэм. Гидеон теухуа хъыбарыр итщ Пасэрей ЗэгурыIуэныгъэм (Ветхий Завет) щыщу ХеящIэхэм я хъыбар зэрыт тхылъым и 6-8-нэ псалъащхьэхэм.

  

ШИМШОН

Израил цIыхухэм гъуазэщIэ яIэн хуейт. Ахэр Тхьэм и жыIэм емыдаIуэ хъуат, абы къыхэкIыуи зауэхэм текIуэныгъэ лъэпкъ къыщахьыжыртэкъым. Тхьэм израил цIыхухэм тыгъэ къахуищIа хэкур филистим цIыхухэм яубыдакIэт. Ахэр яхуэпщылIт пхъэмрэ мывэмрэ къыхэщIыкIа тхьэхэм. ГъащIэ къызыбгъэдэкI Тхьэм и бийт филистим щыщхэр.

 

Арати, зэгуэрым Тхьэм мелыIычыр Маной зи цIэ израил цIыху гуэрым и щхьэгъусэм лIыкIуэ къыхуищIащ.

 

„Уэ мыгувэу къуэ бгъуэтынущ, - къыжриIащ мелыIычым Маной и фызым. - Ар сабий телъыджэу дунейм къытехьэнущ. Балигъ хъуа нэужь, Тхьэм ар гъуазэ фхуищIынурэ филистим цIыхухэм езэуэнущ".

 

Манойрэ и щхьэгъусэмрэ хуабжьу гуфIащ.

 

„Сыт дэ тщIэн хуейр, ди къуэр а жыхуэпIэ къалэным хуэхьэзыру къэхъун щхьэкIэ?“ - щIэупщIащ ахэр. МелыIычым жэуап къаритыжащ:

„Тхьэм нэ зыхурищауэ зэрыщытым и нэщэнэу а щIалэ цIыкIум и щхьэцыр зэи пывмыупщI. КъыдэкIуэтея нэужькIи ар санэ ефэ хъунукъым“.

 

Арати, куэд дэмыкIыу абыхэм къуэ ягъуэтащ. Манойрэ и щхьэгъусэмрэ абы фIащащ Шимшон.

 

Зэманыр кIуэрт. Ауэрэ Шимшон щIалэ къарууфIэшхуэ къищIыкIащ икIи израил цIыхухэм я гъуазэ хъуащ.

 

Шимшон израил цIыхухэм мыпхуэдэу яжриIащ зэгуэрым:

„И чэзу хъуащ филистим цIыхухэрди хэкум итхужыну. АхэргъащIэ къызыбгъэдэкI Тхьэм и бийщ".

 

Ар жиIэри, Шимшон филистим цIыхухэм яубыдауэ яIыгъ губгъуэм кIуащ. Бажэ къиубыдым, я кIэм мафIэр къызыпих пхъакъуэ кIэрищIэурэ, губгъуэм ириутIыпщхьэжащ абы. Бажэхэм губгъуэр къызэхажыхьырт, лыгъэр дэнэкIи щIадзэурэ. Губгъуэхэр зэрыщыту лыгъаем зэщIищтэри, гуэдзу хъуар исащ. Филистим цIыхухэр хуабжьу къызэрыгъэгубжьри, Шимшон къыхуэдалъэурэ жаIащ: „Мыдэ умыпIащIэ уэ!“

 

Зэгуэрым филистим цIыхухэм зэхахащ Газэ къалэм щыщ гуэрым я деж Шимшон къызэрыкIуар. Шимшон къаубыдынуи мурад ящIащ абыхэм.

Филистим цIыхухэм къалэ дыхьэпIэхэр зэхуащIри, езыхэм блыным зыкъуагъэпщкIуащ.

 

Шимшон унэм къыщIэкIыжу къалэ дыхьэпIэхэр зэхуэщIауэ щилъагъум, ауи шынакъым. IункIыбзэхэри зэрыхэлъу куэбжэшхуэр къыхитхъщ, и плIэм ирилъхьэри, къалэбгъум деж щыт бгы гуэрым и щхьэм дихащ.

Филистим цIыхухэр къэшынащ икIи хьэкъ ящыхъуащ Шимшон апхуэдэу къэубыдыгъуафIэ зэрымыхъунур. ПхуэмыIуэтэным хуэдизу къаруушхуэ ихэлът абы! Щымыхъум, абыхэм Шимшон деж ягъэкIуащ ДелилэкIэ еджэу цIыхубз дахащэ.

 

„Уэ къэпщIэн хуейщ Шимшон апхуэдэ къару къыздрихым и щэхур“, - къыжраIащ филистим цIыхухэм абы.

 

Шимшоным фIыуэ къилъэгъуащ  Делилэр. Абы ищIэртэкъым апхуэдиз къару къыздрихым и щэхур къищIэн хуейуэ Делилэ къызэрагъэкIуар.

 

Делилэ моуэ къыжриIащ Шимшон зэгуэрым:

„Уэ хуабжьу укъарууфIэщ. ЖыIэт, зыкъыумытIэтэжыфын щхьэкIэ дапхуэдэу уэ Iэпхлъэпх узэращIын хуейр?“

 

Шимшон жэуап къитащ: „ГъэщIыта бзэпсиблкIэ сызэкIуэцIапхэмэ, сэ адрей цIыхухэм ещхьу къарууншэ сыхъунущ".

 

Филистим цIыхухэм ар щызэхахым, гъэщIытауэ бзэпсибл Делилэм къратащ, Шимшон зэрыжейуэ абыхэмкIэ зэкIуэцIыпхэ, жаIэри. Делилэ зэрыжаIам тету ищIащ. АрщхьэкIэ Шимшон къэушри, Iэпхлъэпх зэращIа бзэпсхэр тынш дыдэу зэпичащ. Арати, абы щыгъуэ Делилэ къыхуэщIакъым Шимшон и къарум щэхуу хэлъыр.

 

«ПцIы быупсыныр фIыкъым, - жриIащ абы Шимшон. – КхъыIэ, пэж дыдэу къызжеIэ: сыт уэ Iэпхлъэпх узэращI хъунур?»

 

Шимшон жэуар къитащ: «КIапсэщIэкIэ сапхмэ, си къарур зэуэ щIэкIыныщ».

Филистим цIыхухэм Делилэ кIапсэщIэ къратащ. Шимшон зэрыжейуэ, Делилэ кIапсэщIэмкIэ ар зэкIуэцIипхащ. АрщхьэкIэ Шимшоныр къэушри, Iуданэ фIэкIа къыщымыхъуу кIапсэр къызэпичащ. А зэми Делилэ къыхуэщIакъым Шимшон и къарур къыздикIыр.

 

„Аргуэру сыкъэбгъэпцIащ! - жиIэри къэкIиящ Делилэ. - КхъыIэ, пэж дыдэу къызжеIэт: Къызэпумычыну Iэпхлъэпх узэращIын щыIэ уэ?“

Шимшон жэуап къритащ: „ЩэкI щызэIупщэкIэ, си щхьэцыр Iуданэм хэбухуанэмэ, си къарур щIэкIынурэ зыри слъэкIыжынукъым“.

 

Шимшон зэрыIурихыу, Делилэ абы и щхьэцыр щэкIым хиухуэнащ. АрщхьэкIэ Шимшон къэушри, и щхьэцыр тынш дыдэу щэкIым къыхичыжащ.

 

Делилэ абы щыгъуи къыхуэщIакъым Шимшон апхуэдэ къару къыздрихыр.

„Щэнейрэ сыкъэбгъэпцIащ, - жиIэри Делилэ Шимшон зыхуигъэгусащ. - А тIэкIунитIэр пэжу къызжепIэфыркъым уэ“.

 

Апхуэдиз гукъанэмрэ зыгъэгусэмрэ иужэгъури, щымыхъужыххэм, Шимшон и щэхур Делилэ къыхузэIуихащ:

„Сэ апхуэдэу къаруушхуэ щIызиIэр Тхьэм срейщи, аращ. Аращ си щхьацыр зэи щIыпезмыгъэупщIыр. Си щхьэцыр паупщIмэ, сэ адрей цIыхухэм ещхьыркъабзэ сыхъунущ".

 

Ар зэхэзыха Делилэ, Шимшон жейм зэрыхилъафэу, Iэбэри абы и щхьэц кIыхьышхуэр пиупщIащ. ПиупщIри, филистим цIыхухэр къриджащ.

Шимшон къыщыушам, япэрей къаруушхуэр хэмылъыжу къыщIэкIри, филистим цIыхухэм япэлъэщакъым.

 

Арати, филистим цIыхухэм Шимшоныр лъэхъуэщым ирадзащ. И нэхэр къыхуращIщ, гъущI лъэхъухэр къыхуралъхьэри, щхьэл мывэшхуэр игъэкIэрахъуэурэ ягъэхьэжэу лъэхъуэщым къинащ.

 

Шимшон къыщыщIам хуабжьу иригумэщIырт. Сыту хъарзынэт, Тхьэм хуэлэжьэным фIэкIа и къарур тримыгъэкIуадэу щытамэ! Тхьэр хуеящ абы израил лъэпкъыр филистим цIыхухэм къаIэщIигъэкIыну. Иджы, мис, Шимшон и къарур щIэкIащ.

 

АрщхьэкIэ Шимшон и щхьэцыр къэкIыжу щIидзэри, зэрыщатам хуэдэу кIыхь хъужащ.

 

Филистим цIыхухэм я махуэшхуэ гуэр ягъэлъапIэрт зэгуэрым. ЦIыху куэдыкIей къыщызэхуэсат пщы унэшхуэм. Филистим цIыхухэм Шимшон лъэхъуэщым къыщIрагъэшащ. Пщы унэшхуэм къыщашам, зыми гу лъитакъым Шимшон и щхьэцыр зэрыщытауэ кIыхь зэрыхъужам. Шимшон зышэ унэIутым елъэIуащ пщы унэшхуэм и курыкупсэм деж щIэт мывэ джей пкъоушхуитIым я зэхуакум дишэну.

 

„Тхьэм сэ иужь дыдэу хуит сещI си къарумкIэ абы сыхуэлэжьэну икIи си лъэпкъыр филистим цIыхухэм къаIэщIэзгъэкIыжыну. СрекIуэд сэри мыбыхэм ящIыгъуу!“ - жиIащ Шимшон.

 

Арати, и IэхэмкIэ мывэджей пкъоуитIым еIэу щIидзащ. Пкъохэр хъейщ, зэпэщIэкIуэтри, пщы унэшхуэр зэуэ къызэтещэхащ. ГъащIэ къызыбгъэдэкI Тхьэм и бий филистим цIыхухэм я кIуэдыр къикIащ абы.

 

А хъыбарыр фэ къыщывгъуэтынщХеящIэхэм я хъыбар зэрыттхылъым и I3-I6-нэ псалъащхьэхэм.  

 

РУТ И УНАГЪУЭР

А махуэхэм израил цIыхухэм я хэкур гъаблаем иIыгът. ЩIыр апхуэдизкIэ уэгъум зэщIиIулIати, хьэсэхэм зы къэкIыгъи къыщыкIыжыртэкъым. Гъавэ къехьэлIэжыгъуэр къыщысами гуэнхэр зэрынэщIыпсу къэнат. Израил унагъуэ куэд уи щхьэ щыппIыжыфын хамэ хэкухэм Iэпхъуат.

 

Апхуэдэ зы унагъуэ Iэпхъуащ Моав. Ахэр Iэлимэлэх, абы и фыз НэIэми сымэт, я къуитIри ящIыгъу. Ягу пымыкIыурэ, ябгынащ абыхэм Израилыр, ауэ Моав абыхэм лэжьапIи, псэупIи, ныбжьэгъу гуэрхэри къыщагъуэтакIэт.

 

Арати, хуэм-хуэмурэ хамэ щIыпIэ Моавыр я унэжьым хуэдэу къащыхъуу есэжащ ахэр. АрщхьэкIэ абыхэм зэи ягу ихуакъым Израилымрэ израил лъэпкъымрэ.

Iэлимэлэх и къуитIыр балигъ щыхъум, абыхэм щхьэгъусэу къашащ мы хамэ щIыпIэм щыщ хъыджэбз зырыз. Хуабжьу дахэт абыхэм къаша хъыджэбзхэр. Зым и цIэр Орпэт, адрейм Рутт. Iэлимэлэхрэ НэIэмирэ хуабжьу иригуфIэрт я къуэхэм апхуэдэ щхьэгъусэ хъарзынэхэр зэрагъуэтам.

 

Ауэрэ, зэгуэрым насыпыншагъэшхуэ унагъуэм къатепсыхащ: Iэлимэлэхрэ и къуитIымрэ сымаджэ хъури, куэд дэмыкIыу щыри лIащ. НэIэми гуауэм ихьырт. „Дауэ сэ ахэр симыIэжу сызэрыпсэунур?“ - жиIэурэ гъырт ар. Орпэрэ Рутрэ хуабжьу игъэгузасэрт а гуауэм икIи абыхэм НэIэми къагъэгугъащ зэи хыфIамыдзэну, я нэIэ къытрагъэтыну.

 

Къыщалъхуа Бэтлэхьэм къалэм къикIыу хъыбарыфI зэгуэрым къылъэIэсащ НэIэми. „Мы гъэм ди хэкум гъавэр бэв щыхъуащ. Тхьэм гущIэгъу къытхуищIри тшхынумкIэ къыддэIэпыкъуауэ аращ дэ. Ди хэкум сыIэпхъуэжыну, ди унэжь сыщыпсэужыну сыхуейщ", - жиIащ НэIэми.

Рутрэ Орпэрэ мурад ящIащ абы щIыгъуу кIуэну.

 

„Апхуэдэу фымыщI, - къахуидакъым абыхэм НэIэми. - Фи хэкужь фыкъэнэжи нэхъыфIщ, хэт ищIэрэ, иджыри фи насыпыр къекIэрэхъуэкIынкIэ мэхъу".

Абы зэрыжиIам тету, Орпэ и адэ-анэхэм я деж кIуэжащ. Ауэ Рут мурад быдэ ищIат НэIэми дэщIыгъуу Бэтлэхьэм кIуэну. НэIэми елIэлIащ абы и мурадыр иригъэхъуэжыну, ауэ Рут и жэуапыр зыт:

„Хьэуэ, сэ уэ фIыуэ узолъагъу, дэнэ укIуэми, уи ужь ситынущ. КхъыIэ, афIэкIаи укъызэмылъэIу уи закъуэ укъэзгъэнэну. Сэ сыхуейщ Израилым сыщыпсэуну, уэ уэщхьу уи Тхьэр згъэлъэпIэну".

НэIэми зэхихар и гуапэ дыдэ хъуащ икIи тIури гъуэгу теуващ Бэтлэхьэм кIуэну.

 

Бэтлэхьэм щынэсам, цIыхухэр гуфIэжу абыхэм къапежьащ.

„Догуэ, пэж дыдэу НэIэми ди деж къигъэзэжауэ ара-тIэ? Аращ, ара дыдэщ! Къеблэгъэж, НэIэми!“

 

Рути къыщыгуфIыкIащ ахэр. НэIэми цIыхухэм яжриIэжащ Моав абыхэм къащехъулIа псори.

 

Рутрэ НэIэмирэ Бэтлэхьэм къыдэна НэIэми и унэжьыр псэупIэ ящIащ. Зэгуэрым Рут НэIэми жриIащ: „ЛIо тщIэнур, щIакхъуэ къудей къызэрытщэхун ахъшэ диIэкъым“. НэIэми жэуап къитащ: „Тхьэм къытхуищIэнIауэ дыщыгугъынщ“.

 

НэIэми Рут жриIащ тхьэмыщкIэм цIыхухэр дэIэпыкъуу Израилым зэры-щыхабзэр. Тхьэм цIыхухэм къалэн къащищIащ, гъавэр къыщрахьэлIэжкIэ, тхьэмыщкIэхэм къащыпын хуэдэу, я щхьэмыж Iыхьэр хафэм къранэну.

Арати, Рут я унэм пэгъунэгъу хафэм кIуэурэ щхьэмыж зэщIищыпэу, унэм къихьу щIидзащ.

 

Гуэдз хьэсэр зей лIыр къэкIуащ зэгуэрым. Абы и цIэр БоIазт.

«Хэт мо хафэм щхьэмыж къыщызыщыпыр?» - еупщIащ ар и лIыщIэм.

„Ар Рутщ - жиIащ лIыщIэм. – ЦIыхубз хъарзынэ гуэрщ ар, Моав къикIри НэIэми щIыгъуу ди деж къэIэпхъуащ. Езымрэ НэIэмирэ щхьэкIэ щхьэмыж къищыпу аращ".

 

„Пэж дыдэу, цIыхубз хъарзынэщ ар, - жиIащ БоIаз, - ауэ лэжьыгъэ хьэлъэIуэщ ар абы дежкIэ. Ар къытелэжьэн лIы хуейщ. Си адэ къуэшым и къуэм сепсэлъылIэнщ сэ абы теухуауэ. Хэт ищIэрэ, абы ишэнкIэ хъунщ. Абы имышэмэ, итIанэ сэ езым къэсшэнщ".

 

Арати, БоIаз и адэ къуэшым и къуэм епсэлъащ Рут теухуауэ, ауэ абы идакъым ар къишэну. Апхуэдэу щыхъум, БоIаз Бэтлэхьэм дэс нэхъыжьы-фIхэр зэхуишэсри, Рут щхьэгъусэу къэсшэну фыарэзы, хьэмэ фымыарэзы, жиIэри яхэупщIыхьащ.

 

БоIаз нэхъыжьыфIхэм мыпхуэдэу яжриIащ: „Сэ Рут, Моав къикIа бзылъху-гъэр, щхьэгъусэу къэсшэну сыхуейщ. Лэжьыгъэ хьэлъэхэр езмыгъащIэу сэ сытелэжьэнущ абы. НэIэми кIэлъыплъынри си пщэ изолъхьэж".

Арати, БоIазрэ Рутрэ зэрышащ. Къалэм дэсу хъуар кърихьэлIащ а тIум я хьэгъуэлIыгъуэм. Щхьэмыж щыпэ щIэкIуэн лъэпкъ щыIэжтэкъым иджы Рут. Абыи НэIэмии яшхын къелыжу яIэт.

 

БоIазрэ Рутрэ насыпыфIэ дыдэу псэурт, НэIэми я гъусэу. Куэд дэмыкIыу Рут щIалэ цIыкIу игъуэтащ. „Сыту дынасыпыфIэ!“ - жаIэрт Рутрэ БоIазрэ. НэIэмии и IэплIэм сабийр илъу щIиупскIэурэ пыгуфIыкIырт.

 

Апхуэдэу я гъащIэм зыкъыщызэридзэкIым, абыхэм Тхьэм фIыщIэшхуэ хуащIащ. Рутрэ НэIэмирэ жаIащ:„ ФIыщIэ пхудощI Бэтлэхьэм дыкъэ-кIуэжынымкIэ укъызэрыддэIэпыкъуам щхьэкIэ!“

 

БоIаз жиIащ: „Апхуэдэ унагъуэ дахэ зэрызиIэм щхьэкIэ фIыщIэ пхузощI“.

ИтIанэ щыми зыжьэу жаIащ: „ФIыщIэ ин пхудощI ди щIалэ цIыкIум щхьэкIэ!“ абыхэм я къуэ ОведкIэ зэджэр Даут пащтыхьым и адэшхуэм и адэрщ. Даут къытехъукIа лIакъуэм иужькIэ нэгъуэщI пащтыхь гуэри къахэкIащ. Абы и цIэр Хьисэт.

 

Рутрэ НэIэмирэ ятеухуа хъыбарым фыкъеджэну фыхуеймэ, Библием щыщ Рут и хъыбар зэрыт тхылъым къыщывгъуэтынущ.  

 

ШАМУЕЛ

 

Ижь-ижьыж зэманым израил къэралым щыпсэуащ Елий зи цIэ дин пашэ гуэр. Махуэ къэс Тхьэунэм къакIуэурэ ар Тхьэм хуэлажьэрт. Зэрысабий лъандэрэ Тхьэр фIыщэу илъагъурт Елий.

 

Елий къуитI иIэт.

 

Зэманыр кIуэрт. Ауэрэ Елий жьы хъуащ, и къуэхэри балигъыпIэ иуващ. Ауэ Елий и къуэхэм Тхьэр зыуи кърадзэртэкъым, абы и унафэм щIэтыну хуейтэкъым. Ахэр нэпсейт икIи залымт, ящышынэрти израил цIыхухэм, жраIэфIатэкъым абыхэм.

 

Израил цIыхухэр хуейт Тхьэр фIыуэ илъагъурэ абы хуэпэжу, и унафэм щIэту цIыхухэр зэрыпсэуным хуезыгъэсэн дин пашэ яIэну.

 

А зэманым Ханнэ зи цIэ цIыхубз гуэр щыпсэурт Израилым. Ар хуабжьу иригумэщIырт бын зэримыгъуэтым. Ханнэ сабий икъукIэ фIыуэ илъагъурт икIи щIэмычэу Тхьэм елъэIурт сабий къритыну.

 

Ханнэ ар псом хуэмыдэу щызыхищIэр, къыщынэщхъейр махуэ лъапIэхэм ирихьэлIэу и лIымрэ я ныбжьэгъухэмрэ ядэщIыгъуу Тхьэунэм щыкIуэм дежт.

„ЛIо, иджыри къэс сабий умыгъуэтауэ ара?“ - къеупщIырт абы цIыхухэр.

Нэщхъей къэхъуауэ Ханнэ жэуап папщIэу, и щхьэр игъэкIэрахъуэрт.

Махуэшхуэ гуэр цIыхухэм щагъэлъапIэм, Ханнэ нэщхъей дыдэу яхэст зэгуэрым. Ефэешхэм къахэкIри, ар щIыхьащ Тхьэунэм. Тхьэунэм и кIуэцIыр щымт. Дин пашэ лIыжь Елий здэщытын хуейм деж щытт. Ауэ Елийтэкым, Тхьэрат зэпсэлъэну Ханнэ зыхуейр.

 

Тхьэунэм щIэту, Ханнэ Тхьэм елъэIурт. И Iупэхэр зэрыпIэжьажьэр плъагъу мыхъумэ, абы жиIэхэр зэхэпхыртэкъым.

 

„Ди Тхьэ, сэ уэ лъэIукIэ зыпхузогъазэ: кхъыIэ, къуэ тыгъэ къысхуэщI !“ - лъаIуэрт Ханнэ. - Укъызогъэгугъэ си къуэр уэ пхуэлэжьэну уэстынкIэ. Мис мы уи Тхьэунэм щIэту, псэухукIэ къыпхуэлэжьэнщ. Плъагъукъэ сэ сызэры-насыпыншэр, ди Тхьэ“.

 

Елий къыбгъэдыхьащ Ханнэ. Абы ищIэртэкъым Ханнэ Тхьэм зэрелъэIуар, санэ ефарэ чэф хъуауэ и гугъэт.

„Сыт къыпщыщIар? - къеупщIащ ар цIыхубзым. - Махуэ лъапIэм и фIыщIэкIэ санэ уефагъэнущ уэ?“

 

„Хьэуэ, хьэуэ, - жиIащ Ханнэ икIи Елий жриIэжащ Тхьэм зэрелъэIуар, щIелъэIуар.

 

„УмыгумэщI, - жиIащ Елий. - Тхьэр едэIунущ уи лъэIум икIи къыпхуищIэнущ ущIелъэIуар“.

 

И гур фIы къыхуащIыжауэ, Ханнэ тхьэунэм къыщIэкIыжащ.

Куэд дэмыкIыу Ханнэ и лIыр хъыбарыфIкIэ игъэгуфIащ:

„Тхьэр едэIуащ си лъэIум, - жриIащ абы и лIым. - ИкIэм-икIэжым, сэри сабий сиIэнущ!“

 

Арати, Ханнэ щIалэ цIыкIу игъуэтащ. И щхьэцыр ушэрэзарэ и Iэ цIыкIухэр щабэ хъужауэ, сытым хуэдэу сабий къабзащэт ар! Абы нэхъ сабий дахэ дунейм къытрамылъхуауэ жиIэрт Ханнэ. Абы сабийм фIищащ Шамуел.

НэгъуэщI бынхэри игъуэтащ иужькIэ Ханнэ. Шамуел къыдэкIуэтея нэужь, и тхьэрыIуэ псалъэр игъэпэжын мурад иIэу, Ханнэ ар тхьэунэм ишащ. Абы хуабжьу фIыуэ илъагъурт Шамуел, пэIэщIэ зэрыхъунури къехьэлъэкIырт, ауэ абы къыдэкIуэуи иригуфIэрт и къуэр Тхьэм зэрыхуигъэлэжьэнум.

 

Ханнэ ищIэрт Елий зэрыцIыху гуапэр икIи хуейт абы и жьауэм щIэтрэ Тхьэм хуэпэжу фIыуэ илъагъу Шамуел тхьэунэм щылэжьэну. Илъэс къэс, махуэ лъапIэр къызэрысу, Ханнэ тхьэунэм кIуэрт икIи Шамуел тыгъэу къыхуихьырт езым и IэкIэ ида щыгъыныгъуэхэр.

 

Тхьэр Елий куэд щIауэ къепсэлъэфыртэкъым. И къуэ мыхъумыщIэхэм ящIэгупсыс зэпытт Елий. Япэми хуэдэу, абыхэм иджыри щIэпхъаджагъэ куэд ялэжьырт, Тхьэр кърадзэртэкъым, Абы и унафэм щIэтыну хуейтэкъым. МащIэ дыдэт а махуэхэм Тхьэм и макъыр зэхэзыхыр.

 

Арати, Тхьэм мурад ищIащ Шамуел къепсэлъэну. Тхьэм ищIэрт абы и ма-къыр Шамуел зэи зэрызэхимыхар.

 

„Жэщ хъууэ дунейр щым хъуа нэужь, Шамуел сепсэлъэнщ сэ“, - жиIащ Тхьэм.

Апхуэдэу, зэгуэрым, жейуэ здыхэлъым, Шамуел зэхихащ: „Шамуел!“

„Сымис", - къитащ Шамуел жэуап, Елий къеджэ и гугъауэ. Ар къыщылъэтри, дин пашэ лIыжьым деж жащ. Ауэ Елий къеджатэкъым абы.

„КIуэ, гъуэлъыж", - къыжриIащ абы Елий.

Къигъэзэжу гъуэлъыжа нэужьи, а макъ дыдэр аргуэру къызэхихащ: „Шамуел!“ Шамуеларгуэру къэтэджщ, Елий деж кIуэри, жриIащ:

„Мис, сыкъэкIуащ, укъызэджакъэ?“

Ауэ Елий къеджатэкъым абы. Шамуел къигъэзэжри аргуэру гъуэлъыжащ.

Тхьэр ещанэу Шамуел къеджащ: „Шамуел!“

Шамуел къэтэджщ, Елий деж кIуэри, аргуэру жриIащ:

„Сымис, укъызэджакъэ?“

ИтIанэ Елий къыгурыIуащ Шамуел къеджэр Тхьэр зэрыарар. КъыгурыIуэри, Елий Шамуел жриIащ:

„Тхьэращ а къоджэр. КIуэ, гъуэлъыжи, Тхьэм къыбжиIэу хъуам фIыуэ щIэдэIу".

 

Шамуел къеджэ макъыр аргуэру щызэхихым, Елий къызэрыжриIам хуэдэу жэуап иритыжащ:

„ЖыIэ, Зиусхьэн, сэ уэ жыпIэр зэхызох!“ Тхьэм Шамуел къыжриIащ итIанэ:

„Елий схужеIэж абы и къуэхэм Iуэху мыщхьэпэ куэд зэралэжьыр. Елий хулъэкIакъым мыхъумыщIэ ямылэжьын хуэдэу и къуэхэр къигъэшыну. Сэ тезыр ятеслъхьэнщ-тIэ абыхэм“.

 

Шамуел хуейтэкъым Елий и жагъуэ ищIыну, ауэ абы хьэкъыу пхыкIат Тхьэм и унафэр игъэзэщIэн, Тхьэм и псалъэхэр жриIэжын зэрыхуейр. ИкIи абы Тхьэм къызэрыжриIам хуэдэу ищIащ. Елий ищIэрт Тхьэм жиIауэ хъуар зэрыпэжыр.

ИужькIи Шамуел куэдрэ зэхихащ Тхьэм и макъыр. Израил цIыхухэр Шамуел и жыIэм едаIуэрт, сыту жыпIэмэ ар езыр сытым дежи Тхьэм и жыIэм тетт.

Тхьэр зэрыфIэфIым тету псэун зэрыхуейр Шамуел израил цIыхухэм яригъащIэу щытащ.

 

Тхьэр Шамуел къызэрепсэлъам теухуа хъыбарыр фэ къыщывгъуэтынщ Шамуел и хъыбар зэрыт япэ тхылъым и 1-3-нэ псалъащхьэхэм.   

  

ИЗРАИЛЫМ ЩХЬЭКIЭ ПАЩТЫХЬ

 

Шамуелилъэс куэдкIэ Тхьэунэм щылэжьащ дин пашэу. Ар цIыху гуапэт икIи губзыгъэт. Ауэ, Iуэхушхуэратэкъэ, Шамуел жьы хъури, израил цIыхухэм нэгъуэщI гъуазэ къалъыхъуэн хуейуэ къахудэкIащ.

 

Израил цIыхухэр ехъуапсэрт пащтыхь зиIэ гъунэгъу лъэпкъхэм, езыхэми яIэн хуейуэ къагъэуващ.

 

„Дэри пащтыхь дыхуейщ! - жраIащ абыхэм Шамуел. - Унафэ къытхуищIрэ дяпэ иту зауэхэм текIуэныгъэ къыщыдэзыгъэхьыфын пащтыхь".

Шамуел Тхьэм хуиIуэтащ цIыхухэм я лъэIур. „Сэ срапащтыхькъэ абыхэм, - къыжриIащ Тхьэм Шамуел. - Сэ сыхуейт ахэр къысхуэлэжьэну. ИтIанэ сэ абыхэм зыпымычу си нэIэ ятезгъэтынут".

 

Шамуел Тхьэм и псалъэр израил цIыхухэм яжриIэжащ. АрщхьэкIэ абыхэм ядакъым: „Дэ дызыхуейр пащтыхь дыдэщ, адрей лъэпкъхэм яIэм хуэдэщ ", жаIэри.

 

„ЦIыхухэр сэ къызэдэIуэну хуейкъым, - жиIащ Тхьэм. - Хъунщ, естынщ сэ абыхэм пащтыхь, апхуэдизу щыщIэхъуэпсхэкIэ, ауэ гуауэ куэд къахуи-хьынщ а Iуэхум абыхэм“.

 

Шамуел ищIэртэкъым израил лъэпкъым пащтыхь къаздыхурихынур, ауэ Тхьэм фIэщхъуныгъэшхуэ хуиIэти, шэч лъэпкъ къытрихьэртэкъым абы хэкIыпIэр къызэрыригъэлъагъунум.

 

Зы щIыпIэ гуэрым Кис жаIэри израил зы цIыху щыпсэурт. Ар хуабжьу къулейт, цIыхухэм пщIэшхуэ къыхуащIырт.

 

Кис ШаулкIэ еджэу къуэ иIэт. Шаул лъагэшхуэ хъужауэ щIалэ дахэт.

Кис и шыд хъуакIуэ щыIэхэр кIуэдри къагъэзэжакъым зэгуэрым.

„КIуэ, шыдхэр къэлъыхъуэж“, - жриIащ Кис Шаул.

Шаул, унэIутыр зыщIигъури, шыдхэр къилъыхъуэжыну дэкIащ.

 

Шыдхэр къалъыхъуэжурэ, Шаулрэ унэIутымрэ гъуэгуанэ кIыхь зэпачащ, бгы зыкъоми къызэранэкIащ, губгъуэ зыкъоми зэпаупщIащ. Ахэр еупщIырт къахуэзэ цIыхухэм:

„Ди шыдхэр фымылъэгъуауэ пIэрэ? Дэ тфIэкIуэдащ ахэр“.

АрщхьэкIэ зыми ахэр илъэгъуатэкъым.

 

Апхуэдэххэурэ, ахэр къалэ гуэрым дыхьащ. Шаул моуэ жриIащ унэIутым:

„Ди шыдхэр дэ мы къалэм къыщыдгъуэтыжыну къыщIэкIынкъым. Абы дыхэмыту, дгъэзэжмэ, нэхъыфIщ, ахъумэ ди адэр гузэвэнщ".

Ауэ унэIутым ищIэрт мы къалэм Шамуел зэрыщыпсэур. Арати, унэIутым жиIащ:

„Шамуел дегъэупщI. Абы имыщIэ мы дунейм теткъым“.

ШаулрэунэIутымрэ къалэ уэрамым щрикIуэ дыдэм ирихьэлIэу, Тхьэм Шамуел къыжриIащ:

„ШаулкIэ зэджэ а уи деж къакIуэр Израилым и япэ пащтыхьу хэпхын хуейщ".

Шаулрэ и унэIутымрэ къызэрилъагъуу, Шамуел ахэр гуапэу иригъэблэгъащ, зывгъэпсэху, жиIэри.

 

„Фи шыдхэм щхьэкIи умыгузавэ, - жриIащ Шамуел Шаул. - Ахэр зыщIыпIи кIуакъым, къывгъуэтыжауэ флъытэ“.

 

Шаулрэ унэIутымрэ ягъэщIэгъуащ абы жиIар. Шыдхэм ятеухуауэ абыхэм Шамуел зы псалъи жраIатэкъым.

 

Шамуел Шаулыр фIыуэ къызэпиплъыхьащ. ЩIалэ лъагэт икIи дахэт ар. „Мыпхуэдэ пащтыхь яIамэ, цIыхухэр гуфIэнут", - егупсысащ ар. Ауэрэ, шэджагъуашхэ шхэну тIысащ ахэр. ЩIыхьышхуэ зыхуащI цIыхум хуэдэу Шамуел Шаул игъэхьэщIащ.

 

КъыкIэлъыкIуэ махуэм Шамуел жьы дыдэу Шаул къигъэушщ, къыщIишри, гъуэгум нэс ишащ.

 

„Иджы зы щэху гуэр къыпхузэIусхынущ сэ уэ, - жриIащ Шамуел Шаул, я закъуэ хъуа нэужь. - Тхьэм уэ Израилым и пащтыхь ухихакIэщ".

Ар жиIэщ, кхъуэщыныр игъэщIейри, Тхьэм Шаул нэ къызэрыхурищам, пащтыхьу хихыну зэрыхуейм и щыхьэту, и щхьэм дагъэр къытрикIащ. Шаул къигъэзэжащ я унэ. Ауэ Шамуел къыжриIар гущIагъщIэлъ щэхуу и гум къринащ абы.

 

Куэд дэмыкIыу, Шамуел израил цIыхухэр псори зэхуишэсащ. Шаули яхэтт абыхэм. Шамуел мыпхуэдэ псалъэхэмкIэ зыхуигъэзащ цIыхубэм:

„Фэ иджыпсту къыфхэтщ Израилым и пащтыхьу Тхьэм хиха цIыху".

ЩIалэ дахэшхуэ хъужауэ Шаул цIыхухэм яхэтт.

 

„Мис дэ ди пащтыхьыр!“ - жиIащ макъ лъагэкIэ Шамуел икIи и Iэпэр Шаул къыхуишиящ. Израил цIыхухэр хуабжьу гуфIэрт. Адрей лъэпкъхэм ещхьу, иджы абыхэми пащтыхь яIэнут. „ИугъащIэ Израилым и пащтыхьым!“ - гуфIэурэ зэрыгъэкIийрт цIыхухэр.

 

А зэманым щыщIэдзауэ, израил цIыхухэр зэуапIэ щыIухьэм деж, пащтыхь Шаул дзэзешэу яIащ.

 

Израил цIыхухэр иригушхуэрт пащтыхь лIыхъужь икIи къару зэраIэм. Бийхэр къащышынэрт иджы израил цIыхухэм, сыту жыпIэмэ ящIэрт къи-кIуэт зымыщIэ пащтыхь лъэщ зэраIэр.

 

Зыкъомрэ хъарзыну екIуэкIащ, ауэ хуэм-хуэмурэ Шаул зыкъыфIэщIыж хъуащ. Абы щыгъупщэжащ Тхьэм хуэжыIэщIэу щытын зэрыхуейр. Шамуел къыжриIэхэми емыдэIуэжу щIидзащ абы, езым ещхьу израил цIыху псори Тхьэм хуэмылэжьэж хъуащ.

 

Шаул идзэр амалик хэкум щыщ цIыхухэм езаурт зэгуэрым. А зауэм Шаул абыхэм щатекIуащ. Зауэр иуха нэужь, Шаулрэ абы и зауэлIхэмрэ мылъкурэ гъэру куэд зэщIакъуащ. Ауэ апхуэдэу ямыщIыну Тхьэм абыхэм къажриIащ.

Шамуел Шаул жриIащ:

„Уэ Тхьэм хуэжыIэщIэу ущытакъым. Ар хущIегъуэжащ уэ Израилым и пащтыхьу узэрыхихам. Иджы абы нэгъуэщI пащтыхь яхухихынущ израил цIыхухэм”.

 

Куэд дэмыкIыу, Тхьэм мыпхуэдэу къыжриIащ Шамуел:

„Шаул афIэкIа Израилым и пащтыхьу щытынукъым. НэгъуэщI пащтыхь хэхын щыхуей зэманыр къэсащ“.

 

 

Шамуел гъуэгуанэ теувэну зигъэхьэзыращ. Бэтлэхьэм кIуэуэ абы къигъуэтын хуейт ЕссекIэ зэджэ лIыр. Ессе и къуэхэм ящыщ зы Израилым и пащтыхь хъун хуейуэ щытт. Шамуел зэкIэ ищIэртэкъым пащтыхь хъун хуейр Ессе и къуэ дэтхэнэрами.

 

Шаул пащтыхьу хахауэ зэрыщытам теухуа хъыбарыр фэ къыщывгъуэтынщ Шамуел и хъыбар зэрыт япэ тхылъым и 8-I5-нэ псалъащхьэхэм.

  

ДАУТРЭ ГОЛИАТРЭ
 

Iэхъуэ Ессе къуий иIэти, Даут абыхэм я нэхъыщIэт. Зэгуэрым Шамуел бегъымбарыр Ессе деж къакIуэри, къыжриIащ, абы и къуэр, Шаул пащтыхьыр, лIа нэужь, Израилым и етIуанэ пащтыхь зэрыхъунур.

Тхьэм нэ къыхурищат Даут, езы Даути сытым дежи зыхищIэрт Тхьэр къызэрыщIыгъур, къалэн хэхаи иIэу дунейм къызэрытехьар. Даут ныбжьыщIэр емышыжу лажьэрт. „Пащтыхь нэгъэса сыхъун щхьэкIэ, Тхьэм нэхъапэ сэ сигъэсэн хуейщ си мэл хъушэр Iэзэу згъэхъуу", - и щхьэм хужиIэжырт Даут.

 

Даут Iэзэ дыдэу пшынэдыкъуакъуэм (арфэ) еуэрт. Абы дин уэрэдхэр Тхьэм хузэхилъхьэрти, макъ жьгърукIэ ахэр жиIэрт. Уэрэд жригъэIэн мурадкIэ, езы Шаул пащтыхь дыдэм куэдрэ иригъэблагъэрт ар пащтыхь сэрейм. Пащтыхь Шаул щынэщхъейм деж Даут пшынэдыкъуакъуэм еуэурэ уэрэд жриIэрти, нэжэгужэ къищIыжырт.

 

Даут и къуэшхэр зауэлIт. Ахэр пащтыхь Шаул и дзэм хэту зауэрт. Зауэм кIуэрти, унэм куэдрэ пэIэщIэу щытт ахэр.

 

Даут и адэр хуабжьу иригуфIэрт и къуэ нэхъыщIэр сытым дежи къыдэ-щIыгъуу унэм зэрисым. Ессе лIыжь хъуати, Даут абы дэIэпыкъурт, я мэлхэр игъэхъурт.

 

Даут куэдрэ къыхуихуэрт жэщи махуи къурш жыжьэхэм щрихьэкIыну. Псырэ хъупIэфIрэ здэщыIэм хъушэр ихуну и къалэнт абы. Къуршым щыпсэут хьэкIэкхъуэкIэ куэд: аслъэнхэр, мыщэхэр, дыгъужь шынагъуэхэр. Даут куэдрэ къыхудэкIырт и мэлхэмрэ щынэхэмрэ ящихъумэу а хьэкIэкхъуэкIэ шынагъуэхэм куэдрэ япэщIэувэну, ящхьэщихуну.

 

Зэгуэрым, хъушэр къуршым кърихужри къигъэзэжауэ, адэм Даут къыжриIащ: „Хъушэр зэкIэ мыбы къэгъанэ. Уи къуэшхэм я деж лъагъунлъагъу узгъэкIуэну сыхуейщ сэ. Гъуэмылэ къащтэ, я хэщIапIэм кIуэи, си къуэхэм я хъыбар къысхуэхь.

 

Гъуэмылэр зэрылъ хъуржыныр и дамэм трилъхьэри, Даут гъуэгуанэ теуващ. ЗдэкIуэнур жыжьэт, ауэ Даут къуршым зэрыщызекIуэ гъуэгухэр фIыуэ ицIыхурт.

 

Ауэрэ Даут нэсащ израил цIыхухэм я дзэр къыщыувыIа хэщIапIэм. И къуэшхэми ящыIущIащ абдеж. Яхэплъэмэ, и къуэшхэр хуабжьу зыгуэрым зэрыригузавэр къапщIэрт. „Къэхъуар сыт?“ - еупщIащ Даут абыхэм. „Плъэт мобыкIэ“, - жаIащ Даут и къуэшхэм икIи я Iэр яшиящ аузым и адрей лъэн и къуэмкIэ. „Мо плъагъур филистим цIыхухэм я дзэращ. Абыхэм яхэтщ ГолиаткIэ зэджэ иныжьыр. Абы израил цIыхухэм тщыщ зы езэуэн хуейуэ иреджэ“.

 

„НтIэ сыт абы щхьэкIэ? - еупщIащ абыхэм Даут. - Фэ гъащIэ къызыбгъэдэкI Тхьэм фризауэлIщ. ИкIи Iэмал имыIэу фытекIуэнущ абы“.

„Апхуэдизу ущылIыхъужькIэ, уэ пащтыхьым деж кIуэи жеIэ иныжьым уезэуэну узэрыхьэзырыр“, - къыжраIащ и къуэшхэм абы.

Абыхэм хуабжьу ягъэщIэгъуащ, Даут пащтыхьым деж зэрыкIуэр щалъагъум. Даут Шаул жриIащ ар Голиат езэуэну зэрыхьэзырыр, тригъэкIуэнкIэ Тхьэр къызэрыдэIэпыкъунур. „Си джатэмрэ тажымрэ къыздэщтэ-тIэ“, - къыжриIащ Шаул Даутым.

 

Арати, Шаул и джатэри Даут къритащ, и тажри къыщхьэритIэгъащ. Ауэ пащтыхьым и зауэ фащэр апхуэдизкIэ хьэлъэти, ахэр щыгъыу Даут зэфIэтыфыртэкъым. „Мы уи Iэщэфащэр зыкIэрыслъхьэну сыхуейкъым, пащтыхьышхуэ, - жриIащ Даут пащтыхьым. - Сэ сесакъым апхуэдэ Iэщэ-фащэ. Мэл щызгъэхъукIэ къэзгъэсэбэп си мывэдзымрэ мывэрэ фIэкIа нэгъуэщI Iэщэ сыхуейкъым сэ“. Арати, пащтыхьым и Iэщэ-фащэр зыкIэрихыжри, мывэдзыр къищтащ, джафэ хъужауэ мывитхуи хъуржы-ным ирилъхьащ.

 

Аузыр къызэпиупщIауэ гъунэгъу къыхуэхъу мо щIалэ цIыкIу Даутыр зэрилъагъуу, Голиат къыщиудри апхуэдизкIэ ину къэдыхьэшхати, израил цIыхухэм яхуэмышэчыжу я тхьэкIумэхэр яубыдащ. Голиат джатэ хьэлъэрэ мэIуху инрэ иIыгът. Мывэрэ мывэдзрэ фIэкIа Даут зэримыIыгъыр щилъагъум, Голиат хъийм икIауэ губжьащ. „СлIожь, сэ укъызэзэуэнри мэл хъушэм къещакIуэ хьэкIэкхъуэкIэр 6ашкIэ бгъэщтэнри зы уи гугъэу ара?“ - щIэгурымыхьыжу къыщIэкIиящ абы Голиат.

 

Ауэ Даут мывэрэ мывэдзкIэ хуабжьу IэкIуэлъакIуэт. Голиат здыбгъэдыхьэм, абы мывэдзыр къигъэIэгъуэри мыви дилъхьащ. Голиат гъунэгъу дыдэ щыхуэхъум, Даут къэкIиящ: „ГъащIэ къызыбгъэдэкI Тхьэм и цIэкIэ сыппэщIоувэ!“

 

Ар жиIэщ, зишэщIри, Даут мывэр Голиат ириутIыпщащ. Мывэр Голиат и натIэ дыдэм техуащ. АфIэкIаи хэмылъу, Голиат щIым хэхуащ хьэдэ хьэзыру.

Апхуэдэу щыхъум, Даутыр жэщ, джатэр къищтэри, Голиат и щхьэр зэуэ пигъэхуащ. Голиат хагъащIэу и щхьэр зэрыпаупщIар щалъагъум, филистим цIыхухэр шынэри щIэпхъуэжащ.

 

Даут Голиат зэрытекIуам израил цIыхухэр хуабжьу иригуфIэрт. Абыхэм филистим цIыхухэм пхъэр кIэлъаутIыпщащ, я щIым трахужын щхьэкIэ.

Израил цIыхухэм зэуэ зэлъащIысащ Даут Голиат зэрытекIуамрэ филистим цIыхухэр я хэкум зэрырахужамрэ я хъыбарыр. Мэлыхъуэ хъыжьэу Даут хъужыр ягъэлъапIэу цIыхухэр къафэрэ уэрэд жаIэу уэрамхэм дэтт. Ауэрэ Даут зэрыхэкуу къацIыху, цIэрыIуэ хъуащ. Апхуэдэу Iуэхум зыкъы-щызэридзэкIым, зи цIэр дэнэкIи щаIэт Даутым пащтыхь Шаул къефыгъуэу щIидзащ.

 

Мэлыхъуэу щыщытам Даут зыхуигъэсат Тхьэм фIэщхъуныгъэ хуиIэрэ хуэпэжу. Голиат ар щIытекIуар, Израилым я Тхьэр гъащIэ къызыбгъэдэкI Тхьэр арауэ зэрыщытыр ищIэрти, аращ. Аращ иныжьым текIуэнымкIэ Тхьэр абы къыщIыдэIэпыкъуар. Иджы Даут хъарзынэу ищIэрт икIи хуэхьэзырт, Израилым я пащтыхь хъуа нэужь, Тхьэм и унафэм щIэтын зэрыхуейм.

Мы хъыбарыр хэтщ Шамуел и хъыбар зэрыт япэ тхылъым и I7-нэ псалъащхьэм.  

  

ДАУТ ПАЩТЫХЬЫР

Шаул и пащтыхь сэрейм щIэт псоми Даут къацIыхурт. Ар текIуат ГолиаткIэ зэджэ иныжьым. Абы къищынэмыщIауэ, ар хуабжьу дахащэу пшынэдыкъуакъуэм еуэрт.

 

Даут, Голиат текIуа нэужь, Шаул и пащтыхь сэрейм щыпсэуну яшащ. Абы Даут ныбжьэгъу къыщыхуэхъуащ Шаул и къуэ Ионатан. Даутрэ Ионатанрэ занщIэу фIыуэ зэрылъэгъуащ. Я псэр зы чысэм илърэ щэху лъэпкъ яку дэмылъу псэурт ахэр.

 

Даут хуабжьу цIэрыIуэт, израил цIыху псоми фIыуэ къалъагъурт ар. Зэры-лIыхъужьыр ящIэрти арат фIыуэ щIалъагъур. Ауэ Шаул пащтыхьыр Даут къефыгъуэрт. „Израил цIыхухэм ар пащтыхьу хахыну хэтщ, - егупсысырт ар. - Си натIэ изгъэкIын хуейщ ар сэ. Си къуэ Ионатани фIыуэ елъагъу а Даут хъужыр“- жиIащ пащтыхьым.

 

Даут пащтыхьым пшынэдыкъуакъуэ хуеуэу щыст зэгуэрым. Зэуэ зыкъызэкъуихщ, бжыр къищтэщ, зишэщIри, Шаулым бжы папцIэр Даут ириутIыпщащ. Даут, насып иIэти, лъэн и къуэкIэ зидзыну хунэсащ. Даут здэщыса дыдэм хуэзэу бжым блыным зыхиупцIащ. Шаул и губжьым зыщидзейуэ, Даут пащтыхь сэрейр зэуэ къибгынащ.

 

Ионатан иринэщхъейрт Даут пащтыхь сэрейм зэрыщымыпсэужым. Арати, Шаул пащтыхьым зыхуигъэзащ абы: „Даут псоми фIыуэ ялъагъу. Зыми шэч къытетхьэркъым ар зэгуэр цIыхушхуэ зэрыхъунум“. А псалъэхэм нэхъри къызэщIагъэстащ Шаул и гужьгъэжьыр.

 

Ионатан Даут къилъыхъуэри жриIащ ар иукIын мурад Шаул зэриIэр. Ауэ Даут ищIэрт Тхьэм ар абы къызэрыщимыгъэщIынур. ИщIэрт ар Израилым и пащтыхь ищIыну Тхьэр зэрыхуейр. Ауэ Шаул Даут и натIэм зэрыригъэкIын Iэмал къилъыхъуэ зэпытт.

 

Зэгуэрым пащтыхь сэрейм махуэшхуэ гуэр щагъэлъапIэрт. Арати, Даут Ионатан жриIащ:

„Сэ а махуэшхуэм сынэкIуэфыну къыщIэкIынкъым, сыту жыпIэмэ Шаул сиукIыну и мурадщ. Уи адэр сэр щхьэкIэ къоупщIмэ, и Iыхьылхэр илъагъуну кIуэжащ, жыIэ“.

 

Ионатан Даут къигъэгугъащ и псалъэхэр пащтыхьым жриIэжыну.

Пщыхьэщхьэм, ефэешхэм здыхэсым, Шаул щIэупщIащ, Даут щхьэ щымыIэрэ, жиIэри. Даут и Iыхьылхэр илъагъуну зэрыкIуэжар Ионатан къыщыжриIэм, Шаул пащтыхьыр къэлыбащ.

 

„Сыт уэ зэпымычу Даут укъыщIыдэщIыр?! - кIийрт ар. - Уэ сэ узикъуэщ. Сэ сылIа нэужь, уэращ пащтыхьыгъуэр зылъысын хуейр. Даут сымыукIмэ, Израилым я пащтыхь хъунур аращ!“

 

ЕтIуанэ махуэм Ионатан Даут деж кIуащ, къэхъуари зэхихари жриIэжыну.

„Ди адэр псэуху, пащтыхь сэрейм гъунэгъуу уемыкIуалIэ, - жиIащ абы. – Ди адэр хэтщ уэ уиукIыну".

 

Даут къыхуэщIэртэкъым Шаул пащтыхьым и губжьым зыщихъумэн щхьэкIэ, здэкIуэнур, ауэ Тхьэм къызэрихъумэнур фIы дыдэу ищIэрт.

Шаул пащтыхьыр Даутыр иукIыну къилъыхъуэ зэпытт. АрщхьэкIэ Даут 6гъуэнщIагъ куэд здэщыIэ къуршым ихьэжат. И ныбжьэгъу зыбжани кIэлъыкIуауэ зэщIыгъуу щыпсэурт абы.

 

Зэгуэрым Шаул, къуршым здитым, зыщигъэпсэхуну щетIысэхащ Даут зыщIэс бгъуэнщIагъым пэмыжыжьэу. Даут хуэм цIыкIуурэ 6гъуэнщIагъым къыщIэкIри, гу зылъримыгъатэурэ Шаул и плIэтепхъуэм и зы къуащIэ кIапэр къыпиупщIащ.

 

Шаул зигъэпсэхуауэ къыщытэджыжым, Даутыр къегуоуащ. „Сыт уэ сыбукIыну сыкъыщIэплъыхъуэр? Сэ уи зэран лъэпкъ сщIэну сыхэткъым. Мис, сэ уи гъунэгъу дыдэу сыщытащ, ауэ си зэран уэкIакъым“, -жиIащ Даут, абы и щыхьэту и плIэтепхъуэ къуащIэм щыщу къыпигъэжари иригъэлъэгъуащ.

Шаул зиумысыжащ Даут зэрызахуэмкIэ. АрщхьэкIэ а къыщыщIари абы щыгъуэ жиIари щыгъупщэжри, Шаул Даут иукIыну аргуэру къилъыхъуэу щIидзащ.

 

ИужькIэ Даут жэщым щэхуу екIуэлIащ Шаул и дзэм я хэщIапIэм. Псори жей IэфIым хэтт. Апхуэдэу щыхъум, Даут Iэбэри Шаул и щхьэм пэгъунэгъуу щылъ бжыр къищтащ.

 

Нэху зэрыщу, жыжьэу IукIуэта Даут къэгуоуащ: „Пащтыхь Шаул, уи бжыр дэнэ щыIэ?“ Бжыр Даут иIыгът. Абы щыгъуи пащтыхьым хьэкъ щыхъуащ Даут ар иукIыфыну зэрыщытар, ауэ апхуэдэу зэримыщIар. Абы егупсысурэ, унэм аргуэру къигъэзэжащ Шаул.

 

Ауэрэ зэман зыкъом дэкIащ икIи Даут зэгуэрым къищIащ филистим цIыхухэм езауэурэ Шаул пащтыхьри абы и къуэ Ионатани къызэраукIар. Даут а хъыбарым хуабжьу иринэщхъеящ. А махуэхэм нэхъ хьэлъэ Даут и гъащIэм хэтакъым. Псом хуэмыдэу абы и гум щIыхьар и ныбжьэгъу нэхъыфI дыдэ Ионатан дунейм зэрехыжарт.

 

Шаул пащтыхьыр къаукIа нэужь, цIыхубэм Даут пащтыхьу хахащ. А щIыкIэм тетуи зэщIа хъуащ Тхьэм и псалъэр. Япэми хуэдэу, израил цIыхухэр щIэх-щIэхыурэ бийм езэуэн хуей хъурт. Ауэ абыхэм ящIэрт Тхьэм и IэмыркIэ Даут бийхэм зэратекIуэнур.

 

Куэд дэмыкIыу Даут пащтыхьыр Ерусалим кIуащ. Тхьэм и пхъуантэр здэщыIэ къалэм къызэрыIэпхъуауэ щытар игъэлъапIэу абы мы къалэм махуэшхуэ щызэхишащ. ЦIыхубэм яхэту къалэ уэрамым щрикIуэм, Даут, апхуэдизкIэ гуфIэрти, и уэрэдри зэпигъэуакъым, зэпымыууи къэфащ. Ауэ зауэ куэд иригъэкIуэкIын хуейуэ къыпэщылът абы иджыри.

 

Шыщхьэмыгъазэу дзэм и пэ итурэ, абы хигъэщIащ и бий псори. ИкIэм-икIэжым Израилым гъащIэ мамырым щыщIидзащ.

 

Абы и ужькIи Даут Израил и пащтыхьу илъэс куэдкIэ щытащ. Псэуху Тхьэм хуэпэжу къекIуэкIащ ар. Тхьэр апхуэдизкIэ фIыуэ илъэгъуати, абы и унафэм зэи къыщIэкIакъым ар. ЗыгуэркIэ щыуагъэ къыIэщIэщIамэ, ар хуабжьу щIегъуэжырт икIи Тхьэм елъэIурт къыхуигъэгъуну.

 

Тхьэм Даут къызэригъэгугъауэ щыта псори игъэзэщIащ. „Уи къуэ Сэлмэнщ пащтыхьыгъуэр къызыхуэнэри, ар Израилым и пащтыхьу щытынущ, - жиIащ Тхьэм. - ИкIи сэр щхьэкIэ абы иухуэнущ тхьэунэшхуэ.

 

Даут пащтыхьым теухуа хъыбарыр фэ къыщывгъуэтынщ Шамуел и хъыбар зэрыт япэ тхылъым и I8-нэ псалъащхьэм къыщыщIэдзауэ.

 

СЭЛМЭН ТХЬЭМ ХУИГЪЭУВА УНЭШХУЭР

„ИугъащIэ пащтыхь Сэлмэн!“ - жаIэурэ цIыхухэр щIэуэ хаха пащтыхьым ехъуэхъурт: Сэлмэн Израилым и пащтыхь хъуат. Ар хуейт, и адэ Даут зэрыщытам ещхьу, фIы зыхужаIэ пащтыхь хъуну. Сэлмэн ищIэрт, и адэ Даут Тхьэм хуэжыIэщIэу щыщытым деж, и пащтыхьыгъуэм Iуэхухэр хъарзынэу щекIуэкIыу зэрыщытар. Абы къыхэкIыу езы Сэлмэни мурад ищIащ Тхьэм и жыIэм зэи темыкIыну.

 

Тхьэри Сэлмэн къыхуэарэзыт, Абы и жыIэм щIэдэIуу псэун мурад зэрищIам щхьэкIэ. Тхьэр Сэлмэн къепсалъэрт, ар жейуэ пщIыхьым щыхэтым деж.

„Сыт хуэдэ тыгъэ пхуэсщIын? - къеупщIащ абы зэгуэрым Тхьэр. - Узыхуей дыдэмкIэ къызэлъэIу".

 

„АкъылыфIагъэ сыхуейщ, - жэуап къритыжащ Сэлмэн. - Сэ пащтыхьыфI сыхъункIэ Iэмал иIэкъым, акъылыфIагъэ симыIэмэ“.

Тхьэм игу ирихьащ Сэлмэн къритыжа жэуапыр.

„Сэ уэстынщ уэ акъылыфIагъэ, - жиIащ Тхьэм. - Абы къыдэкIуэу, щIыхьи къулеягъи“.

 

Арати, Тхьэм акъылыфIэгъэшхуэ къритащ Сэлмэн. Чэнджэщрэ дэIэпыкъуныгъэрэ хуей израил цIыху псори абы деж къакIуэрт, къакIуэу хъуами зыхуейр яхуищIэрт. НэгъуэщI хэкухэми къикIыурэ цIыхухэр къыхуэкIуэрт Сэлмэн. Абыхэми зэхахат акъылыфIагъэ инрэ къулеигъэшхуэрэ Сэлмэн къызэрыритар Тхьэм.

 

Сэлмэн акъылыфIагъэ ин зэрыхэлъым и хъыбар щызэхихым, Ипщэ хэкум и пащтыхь гуащэм гъуэгуанэшхуэ къызэпичри къэкIуащ, ар зригъэцIыхуну икIи къыдэуэршэрыну. Пащтыхь гуащэр къеупщIурэ акъылыфIагъэ ин хэлъу мыдрейм иритыж жэуапхэм щIэдэIуу щыст. Пащтыхь гуащэм зэригъэщIэгъуэнур имыщIэу игу ирихьащ Сэлмэн и пащтыхь сэрейм и дахагъэр, абы къулеигъэу щIэлъыр.

 

„Сэ къызжаIакIэт уэ хуабжьу узэрыкъулейр, - къыжриIащ абы Сэлмэн. - КъызжаIат хуабжьу акъылыфIагъэ узэриIэр. ИкIи сышынэрт, сыкъагъэпцIауэ къыщIэкIыу сыхущIегъуэжынкIэ. Иджы бжесIэну сыхуейщ уи акъылыфIагъи уи къулеигъэри а укъызэрысщыхъуам нэхърэ куэдкIэ зэрынэхъ иныр!“

Израил цIыхухэр мы лъахэм къыщыкIуам, шэтырхэм щIэсу псэуащ.

Иджы абыхэм яIэт къалэ блын лъагэхэмкIэ къэщIыхьыжауэ унэ зэпэщхэр. Ауэ къалэм тхьэунэшхуэ дэттэкъым.

 

„Зыми ямылъэгъуауэ тхьэунэшхуэ дахащэ дыухуэн хуейщ дэ, - мурад ищIащ Сэлмэн. - Мис а си адэр зыщIэхъуэпсу щытам хуэдэ тхьэунэшхуэ. Мы дунейм тхьэунэшхуэу тетым я нэхъ дахэ хъун хуейщ ар. Мис абы щIэдгъэувэнщ Тхьэм и унафэхэр зыдэлъ пхъуантэри. Абы дэ сытым дежи дигу къигъэкIыжу щытын хуейщ Тхьэм  дызэригъэгугъа Iуэхухэр“.

 

Арати, Сэлмэн тхьэунэшхуэр ухуэн щIидзащ. „Мывэм, пхъэм, дыщэм къыхэщIыкIауэ тхьэунэшхуэ дахэ дыухуэнщ дэ, - жиIащ Сэлмэн. - Ар ящIыну я пщэ итлъхьэнщ нэхъ цIыху IэпщIэлъапщIэ дыдэхэм“.

 

Сэлмэн лIыкIуэ хуигъэкIуащ Тирэ къалэм и пащтыхьым.

 

„Сэ Тхьэунэшхуэ соухуэ, - хуитхащ Сэлмэн а пащтыхьым. - СынолъэIу абы пхъэуэ есхьэлIэну хъуар ащэу къысхуебгъэшэну. Сэ сыхуейщ а тхьэунэшхуэр пхъэуэ щыIэм я нэхъыфIым къыхезгъэщIыкIыну".

Арати, Сэлмэн зэхуишэсащ мывэм, пхъэм, дыщэм елэжьынымкIэ нэхъ Iэзэу дунейм тету хъуар.

 

„Дэ тщIыр унэ къызэрыгуэкIкъым, ди Тхьэм и унэшхуэщ, - яжриIащ Сэлмэн ухуакIуэхэм. - Фэ абы фелэжьын хуейщ а Iуэхум фIэкIа нэгъуэщIым фимыгъэпIейтейрэ фыдихьэхауэ. ФымыIэуэлъауэ икIи фызэрымыгъэкIий абы фыщелэжькIэ“. УхуакIуэхэр лъэкI къамыгъанэу лажьэрт. Зэман куэди трагъэкIуэдащ абыхэм унэм. А тхьэунэшхуэр интэкъым, псалъэм папщIэ, Тхьэм хуагъэув нобэрей унэшхуэхэм хуэдэу, ауэ пхуэмыIуэтэным хуэдизу дахэт. Тхьэунэшхуэм и хъуреягъыр зэхуэсыпIэу щытт.

 

Арати, икIэм-икIэжым, тхьэунэшхуэр ухуэн яухащ. Иджы тхьэунэшхуэм щIэпхьэ хъунут Тхьэм и унафэхэр зыдэлъ пхъуантэр. А пхъуантэр щIэтыным хуэщIауэ тхьэунэшхуэм пэш щхьэхуэ хэтт. А пэшым и блынхэр зэрыщыту дыщэпскIэ лат. Сэлмэнрэ израил цIыхухэмрэ тхьэунэшхуэм еплъыну къыщыкIуам, хуабжьу ягъэщIэгъуащ абы и дахагъыр. Иджыр къыздэсым дунейм щаухуауэ щыIэ тхьэунэшхуэхэм я нэхъ дахэт ар.

 

Тхьэунэшхуэм и гупэм деж иIэ зэхуэсыпIэм Сэлмэн цIыху псори къыщызэхуишэсащ. „Ди Тхьэм и унэшхуэр ухуа хъуакIэщ! - макъ лъагэкIэ жиIащ Сэлмэн. - Тхьэунэшхуэм щIэтщ Тхьэм и унафэхэр зыдэлъ пхъуантэр. НтIэ, мис иджы фIыщIэ хуэдывгъэщI апхуэдэ унэ дыухуэнымкIэ къыддэIэпы-къуа Тхьэм!“ Ар жиIэри, езы Сэлмэни цIыхубэри Тхьэм елъэIуу щIадзащ.

„Дэ дощIэ, ди Тхьэ, уэ уэгум узэритыр, - жаIэрт цIыхухэм. - ДынолъэIу мы Тхьэунэшхуэр уэ хэщIапIэ пщIыну".

 

Ар зэрыжиIэххэу, зэщIэлыдэжу пшэ хужь Iэрамэ Тхьэунэшхуэм къыщIэхутащ. ЦIыхухэми къагурыIуащ я лъэIур Тхьэм деж зэрынэсар.

 

Тхьэм израил лъэпкъым тыгъэ къахуищIат пащтыхь Iущ.

 

Тхьэм елъэIуну тхьэунэшхуэм къыщыкIуэм деж, цIыхухэм хьэкъ ящыхъурт Ерусалим щIыпIэ хэха зэрыхъуар. Мы унэм щыщIэткIэ, абыхэм къадэщIыгъут Тхьэр.

 

Мы хъыбарыр фэ къыщывгъуэтынущ Пащтыхьхэм я хъыбар зэрыт япэрей тхылъым и 3-I0-нэ псалъащхьэхэм.