Библие Хъыбархэр 5


МЭЛ КIУЭДАМ ТЕУХУА ХЪЫБАРЫР


Хьисэ зэгуэрым зэхихащ дин егъэджакIуэхэмрэ дин пашэхэмрэ зэрытхьэу-сыхэр: „Хьисэ цIыху мыхъумыщIэхэм япыщIащ. Абыхэм зэманыр ятригъэкIуадэурэ, дэ абы нэмыплъ къыдет!“

Хьисэ къызэпиплъыхьащ абыхэм я нэкIу пагагъэр къызытещхэмрэ щыгъын лъапIэ ящыгъхэмрэ. Абы жиIэр къазэрыгурыIуэнум пылътэкъым ахэр, щIедэуэн фIэгъэнапIэ къалъыхъуэу арат.

 

Абы итIанэ къызэпиплъыхьащ ар къэзыухъуреихьауэ зэхэт цIыхухэр: мо цIыху ешаелIахэм, мэжэщIалIэхэм я щыгъынхэри хъыбий защIэт. ЗыгуэркIэ загъэлъэгэнуи хэмыту, зы къалэм икIрэ адрейм кIуэуэ абыхэм къакIухьырт Хьисэ и гъусэу, псалъэу жиIэу хъуари ягу ираубыдэрт. Арати, Хьисэ закъы-хуигъэзащ дин егъэджакIуэхэмрэ дин пашэхэмрэ: „Мы хъыбарым фыкъедаIуэт, абы къикIыр къызэрывгурыIуэнум фыхэтурэ.

 

Мэлыхъуэ гуэрым и хъушэр Галилей псыхъурейм пэгъунэгъу Iуащхьэхэм щигъэхъурт. Мэлыхъуэу ирихьэкIат абы и гъащIэр, икIи мэлым и пIалъэ фIы дыдэу ищIэрт.

Ар емышыжу елIалIэрт и мэлхэр зыхуей хуэзэным, бэгъуэным. Зиужьурэ мэлищэм нэсат абы и хъушэр. Хъушэм щыщ дэтхэнэри абы апхуэдизкIэ фIыуэ ицIыхурти, зыгуэр лъэрымыхь е щIакъуэ хъуамэ, занщIэу къищIэрт.

 

А пщэдджыжьым мэлыхъуэр гузавэрт, и мэлхэм ящыщ зы кIуэдати. Щыуауэ къыщыхъуащ абы япэ щIыкIэ. АрщхьэкIэ, аргуэру зэ щIибжыкIыжати, зы къэтт.

-  НтIэ, дауэ къыфщыхъурэ? - захуигъэзащ Хьисэ дин пашэхэмрэ дин егъэджакIуэхэмрэ.

-  „Хъуакъым, бетэмал. Си хъушэм, зы мэл хэщIащ, ауэ, сыт пщIэн“, - жиIэу тIысыжауэ пIэрэт мэлыхъуэр?

ТIысыжакъым-тIэ! Хъушэр чэтым щигъэзагъэри, ар ежьащ хэкIуэдыкIа мэл закъуэр къилъыхъуэжыну.

 

Мэлыхъуэ Iэзэм фIы дыдэу ицIыхурт хъушэм хэкIуэдыкIар сыт хуэдэ мэлырами. Мэлыр къилъыхъуэжыху, зэ нэхъ мыхъуми ар етIысэхакъым зигъэпсэхуну.

Мэлыхъуэм фIыуэ ицIыхурт бгылъэ щIыпIэ Iэгъуэблагъэхэр икIи ищIэрт мэлыр нэхъ щыщхьэрыуэнкIэ е щыхупIэм ехуэхынкIэ щыхъуну щIыпIэхэр. Абы къанэ щымыIэу къызэхикIухьащ а щIыпIэр, бгым ущыхуу ущиукIынкIэ е фэбжь щыбгъуэтынкIэ хъунухэри хэту. Iэмал имыIэу къигъуэтыжын хуейт абы и мэлыр!

 

ИкIэм-икIэжым, мэл кIуэдар абы къыщигъуэтыжащ адэ къуршым нэхъ лъагэу. Къурш зэгуэзам дэхуауэ дэлъти, къыдихыжри, и лъакъуэ къутар хуипхащ. Хуипхэщ, и плIэм ирилъхьэри, гуфIэпсыжу къежьэжащ къэкIуэжыну.

 

Сакъыпэурэ къехыжырт ар бгым. Ауэрэ пшапэр зэхэуащ, мэлыхъуэми зыхищIащ зэрымэжэлIар. Мэл кIуэдам фIэкIа и щхьэм илъыжтэкъыми, махуэ псом ар етIысэхатэкъым шхэну е зигъэпсэхуну.

 

И лъакъуэхэр мывэ дзакIэ жанхэм зэхауIыхьа пэтми, зыхищIэртэкъым. Ар хуабжьу иригуфIэрт мэл кIуэдар къызэригъуэтыжам.

 

Къигъуэтыжар чэтым хуээсакъыпэурэ щIигъэзэгъэжри, аргуэру зэ щIибжыкIыжащ абы мэлхэр: „... 6гъущIрэ блырэ, 6гъущIрэ ирэ, 6гъущIрэ бгъурэ, щэ!“

И мэлхэм ящыщ зыри къызэрымытыр хьэкъ щыхъуа нэужь, зигъэпсэхуну унэм кIуэжащ мэлыхъуэр.

 

ЗдэкIуэжым, и ныбжьэгъухэмрэ и благъэхэмрэ ар и гуфIэгъуэмкIэ ядэгуашэрт:

„Си мэлыр къэзгъуэтыжащ! Ефэ-ешхэ сщIыжынущи, фынакIуэ, дауэ къыфщыхъурэ - си мэл кIуэдар къэзгъуэтыжащ!“

Мэлыхъуэм и ныбжьэгъухэмрэ и благъэхэмрэ фIыуэ ящIэрт мэл кIуэдар къызэригъуэтыжар абы дежкIэ зэрыгуфIэгъуэшхуэр икIи а гуфIэгъуэр даIэтыну къыхуеблэгъащ.

- НтIэ, къывгурыIуэрэ, - еупщIащ Хьисэ дин егъэджакIуэхэмрэ фарисейхэмрэ, - Тхьэм и

Тепщэныгъэшхуэр а мэл хъушэм, сэ а мэлыхъуэм дызэрещхьыр? МыкIуэдахэр 6гъущIрэ бгъурэ фыхъу пэтми, сэ а кIуэда зыр къэслъыхъуэжыну си къалэнщ. Мис апхуэдэр къыщызгъуэтыжым деж мелыIычхэм Тхьэм фIыщIэ уэрэдхэр уафэм щыжаIэ!

Сэ срещхькъым лIыщIэу къащтауэ хамэ мэл зыгъэхъум. Апхуэдэр зэрелIэлIэ-шхуэ щыIэкъым зыпэрыт хъушэм, сыту жыпIэмэ езым ейкъым.

 

Сэ си мэл дэтхэнэми солIалIэ. Я цIэкIэ нэгъунэ зэхызоцIыхукI сэ ахэр псори. Сытым дежи си нэIэ ятезгъэтщ. Зыгуэр хэщхьэрыукIамэ, ар къэзмыгъуэтыжауэ сыувыIэнукъым. Си гъащIэр хэслъхьами, ахэр къезгъэлынущ, схъумэнущ!“

„Мэл кIуэдам теухуа хъыбарыр“ Инджылым итхэм ящыщу нэхъ хэIущIыIу хъуахэм ящыщщ.

ХъыбарыфIыр Лука къызэрыжиIам и I5-нэ псалъащхьэм хэтщ „Дыжьын ахъшэ кIуэдар“, „Къуэ кIуэдар“ хъыбархэр. А хъыбархэм хъарзынэу къагъэлъагъуэ дэ тщыщ дэтхэнэми Тхьэм и нэIэ къызэрыттригъэтыр, къызэрыттегузэвыхьыр. Тхьэм деж зыгъэзэж дэтхэнэми щхьэкIэ гуфIэгъуэшхуэм зыкъыщеIэт мо уафэм. Я гуэныхьхэм хущIегъуэжахэм ар гуфIэжу къапожьэ, лъагъуныгъэкIэ къадогуашэ. ХъыбарыфIыр Иуан къызэрыжиIам и I0-нэ псалъащхьэм Хьисэ зыкъыщегъэлъагъуэ зи мэлхэм щхьэкIэ гъащIэр зыт мэлыхъуэу. КIуэдыпIэ ихуа цIыхухэр къилъыхъуэнурэ, мыкIуэду къригъэлыну аращ ар дунейм къыщIытехьар.

 

Мыбы къыкIэлъыкIуэ „Мыдэ къехыт, Закхей!“ хъыбарыр теухуащ а „мэл щхьэрыуахэм“ ящыщ зым.

  

МЫДЭ КЪЕХЫТ, ЗАКХЕЙ !

„Хьисэ нобэ Ерихон къэкIуэнущ!“ - а хъыбарыр жылагъуэ псоми щыIуащ. Дэтхэнэри хуейт ар илъагъуну, хэт - ауэ сытми епсэлъэну, хэти - игъэхъужын щхьэкIэ елъэIуну. ПщIэнукъым, и ущие хъыбархэм языхэз къажриIэнкIи мэхъу. Зыри лэжьакIуэ кIуэну хэттэкъым а махуэм, псори Хьисэ пэплъэрт.

 

Ерихон щыпсэурт лIы гуэр Закхей и цIэу. ЦIыхум фIыуэ ялъагъутэкъым ар, сыту жыыпIэмэ ар хьэкътын ахъшэр хэзыххэм ящыщт. Къалэпсо мылъкум халъхьэн папщIэ, дэтхэнэми и къалэнт и лэжьапщIэм къыхэкIыу зы Iыхьэ хьэкътын ахъшэр хэзыхым иритыну.

 

Хъэкътын ахъшэр хэзыххэм я нэхъыбэм хуэдэу, Закхей цIыху пэж дыдэкIэ уеджэнутэкъым: къалэдэсхэм куэдрэ къаIихырт ятыпхъэм нэхърэ нэхъыби, къызыдидзэр езым зрихьэлIэрт.

„Мис аращ ар щIэкъулейр, дэ дыщIэтхьэмыщкIэр“ - жаIэрт цIыхухэм.

 

Арати, Закхей къищIащ Хьисэ къызэрыкIуэр. Абы куэдрэ зэхихат цIыхухэм мыпхуэдэу жаIэу:

„Хьисэ зэрыжиIамкIэ, ахъшэр Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм зыми щищIыскъым. ТхьэмыщкIэхэр нэхъапэ щIыхьэнущ а Тепщэныгъэшхуэм, къулей куэд щIэмыхьэфу къэнэнущ".

 

Закхей игу ирихьыртэкъым абыхэм жаIэр, ауэ ари хуейт Хьисэ илъагъуну. Ар лIы цIыкIут, Хьисэ пэплъэу уэрамым дэт цIыхухэм ящхьэпрыплъыфыртэкъыми, Ар къыхуэлъагъунутэкъым. ЦIыкIухэр мывэ хъунэхэм дэпщеяуэ тест, псори нэхъ хуиту зрагъэлъагъун щхьэкIэ. Закхей и закъуэт егъэзыпIэ къызы-хуэмыгъуэтыр.

 

Ауэрэ Закхей къигъуэтащ хэкIыпIэ. Уэрамым жыг зыбжанэ тетти, абыхэм языхэзым бгъэдэлъадэри, къудамэ нэхъ гъум дыдэм тетIысхьащ. ЦIыкIухэм ар ялъагъунтэкъэ – занщIэу къалъагъури, зэрыгъэкIиящ:

„Ей, феплъыт мо Закхей, жыгым дэпщеящ!“

Ар жаIэурэ, цIыкIухэр щыдыхьэшхырт зыхэзышу къалэм дэсхэм языхэз Закхей.

 

Ауэ Закхей къафIэIуэхужыртэкъым цIыхухэм: Хьисэ къалэм къызэрыдыхьар цIыхухэм зэпрадзыжу жаIэрт.

 

Хьисэ нэхъыфIу ялъагъуну хуейти, псоми я пщэр хашырт. Ауэрэ цIыхухэм къалъэгъуащ уэрамым кърикIуэ гупыр. Хэти къыхицIыхукIыфынут а гупым Хьисэ - абы и нэгум гуапагъэр илът, мы зэIущIэм кърита гуфIэгъуэр, и нэхэр къилыдыкIырт.

 

ЦIыхухэр Iэнкун къэхъуащ: Хьисэ къэувыIауэ жыгым щIыдэплъейр сыту пIэрэ? ЛIоууэ пIэрэ абы гъэщIэгъуэну къилъэгъуар? ЯгъэщIагъуэу, цIыхухэри абыкIэ щыплъэм, къалъэгъуащ: 3акхей и лъакъуитI папыщ зылъыгъхэр жыгым къелэлэхырт.

„Закхей, - къыпыгуфIыкIыурэ еджащабы Хьисэ, - сыта жыгыщхьэм тепщIыхьыр? Къех мыдэ, сэ уи деж шэджагъуашхэ сыщышхэну си мурадщ. Къех псынщIэIуэуи, хьэщIэхэр зэребгъэблэгъэнум зыхуэгъэхьэзыр!“

 

Закхей зэхихар апхуэдизкIэ игъэщIэгъуати жыгым къелъащ.

„Дэнэ Хьисэ си цIэр щызэхихар? Жыгыщхьэм сызэрисри дауэ къищIа абы? Сэ стеухуауэ абы псори ищIэу къыщIэкIынущ!“ жыхуиIэу егупсысри, Закхей лъэгуажьэмыщхьэу гъуэгу сабалъэм тетIысхьащ.

ЦIыху цIыкIум ялъагъур я фIэщ хъужыртэкъым: догуэ, мор хьэкътын  ахъшэр хэзыхыр армырауэ пIэрэ?

„Хуабжьу си гуапэ хъунущ, фынысхуеблагъэмэ!“ - жиIэу Закхей ита жэуапыр цIыхухэм зэхахащ.

 

Закхей пIащIэу унэм кIуэжащ.

„НэхъыфIу диIэу хъуар къэфхь“, - унафэ яхуищIащ абы унэIутхэм.

Унафэр зыгъэзэщIэну хэт унэIутхэр зэхэзежэ хъуащ. Хьисэ нэхърэ нэхъ хьэщIэ лъапIэ зэи еблэгъатэкъым абы деж.

 

АрщхьэкIэ Закхей егупсыс зэпытт:

„Ди Тхьэ! Сэ скъуэлъ псори ищIэ пэтрэ, Хьисэ сэ къысхуэгуапэщ! Абы ещIэ сэ си мыахъшэ куэд си жып зэрислъхьар. Си унэ зэIузэпэщыр зэрилъагъуу абы къыгурыIуэнущ сэ сызэрымыцIыху щIагъуэр!“

 

Ауэрэ Хьисэрэ и ныбжьэгъухэмрэ къэсри, шэджагъуашхэ шхэну тIысащ. КIуэтэху Закхей и нэгур нэхъри зэхэуэрт.

 

Абы илъагъурт цIыхухэр зэрызехьэу щIантIэм зэрыдэтыр. Бжэ зэIудзамкIэ щIэплъэурэ, цIыхухэм жаIэрт: „Феплъыт, феплъыт, Хьисэ хьэкътын ахъшэр хэзыхым деж щошхэ. Догуэ, абы имыщIэу ара Закхей и ахъшэр къыздрихыр?“

 

ИкIэм-икIэжым, Закхей хуэшэчыжакъым. Хьисэ хуеплъэкIри, абы зыгуэр жиIэну зигъэхьэзыращ. Псори щым хъуащ, абы жиIэнум пэплъэу.

„Зиусхьэн! Уэ уощIэ псори. УощIэ егъэлеяуэ цIыху мыхъумыщIэу сызэрыщытар. Ауэ иджы зыщхьэщысхыну сыхуейщ а стелъ гуэныхьхэр. Сэ зэсхьэлIащ мо бжэм адэкIэ къыщыт цIыху тхьэмыщкIэхэм я ахъшэ куэд. КъэзгъэпцIауэ хъуам плIыкIэ бэгъуауэ псори естыжынщ".

„Хъарзынэу жыпIащ ар, Закхей, - жриIащ Хьисэ абы щыгуфIыкIыурэ. - Апхуэдэу пщIымэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм уизышэ бжэр пхузэIуахынущ. Сэ мы дунейм сыкъытехьащ, - къыпищащ Хьисэ, - кIуэдыпIэ ихуэ цIыхухэр къэслъыхъуэурэ, мыкIуэду къезгъэлыну. Си гуапэ хъуащ, Закхей, нобэ уэ укъызэрызгъуэтар!“

Закхей теухуа хъыбарыр фэ къыщывгъуэтынщ ХъыбарыфIыр Лука къызэрыжиIам и I9нэ псалъащхьэм.

 

Тхьэр дэ къыдэщхькъым. Абы фIыуэелъагъу гуэныхьзыщIэхэри пэжыгъэ зигу илъхэри. Ар хуейщ дэтхэнэри илэжьа гуэныхьхэм хущIегъуэжыну, Мэссихь и гъуэгу пэжым теувэну.

Закхей зыхуеяр Хьисэ Iуплъэн къудейуэ арат. Абы и гущхьэ къэкIакъым Хьисэ апхуэдэ гулъытэ къыхуищIыну. АрщхьэкIэ Ерихон дэс псоми ялъагъуу Хьисэ абы деж кIуащ шэджагъуашхэ. Абы ищIэрт Тхьэуэ уафэм щыIэм и Тепщэныгъэшхуэм ухуэзышэ лъагъуэр Закхей къыхузэIухын зэрыхуейр. Арати, Хьисэ апхуэдэ щIыкIэкIэ хуэза нэужь, Закхей зихъуэжри нэгъуэщI цIыху хъуащ.  

  

МЭРИЕМ, МАРФЭ, ЛАЗАР СЫМЭ

Марфэрэ Мэриемрэ зэшыпхъуитIт. Я дэлъху Лазар ящIыгъуу ахэр щыпсэурт Вифание зи цIэ къуажэ цIыкIу гуэрым. Ахэр и ныбжьэгъути, абыхэм я деж куэдрэ кIуэрт Хьисэ.

Абыхэм я унагъуэм нэщхъеягъуэшхуэ къихъуащ зэгуэрым. Лазар сымаджэ хьэлъэт. Зы жэщ фIыуэ ужеямэ, пкIэрыхуж узхэм ящыщтэкъым Лазар къеузыр. Хьэуэ, Лазар къеуэлIар апхуэдизкIэ узыфэ шынагъуэти, телъыджэ гуэр къэмыхъумэ, имылIыкIыу къелынкIэ Iэмал зимыIэт. Мэриемрэ Марфэрэ я нэгу щIэкIауэ ящIэрт Хьисэ Iуэхушхуэ телъыджэ куэд зэрилэжьар. Абыхэм ялъэгъуат пIэхэнэ хъуахэр къызэрызэфIигъэувэжар, нэфхэм я нэхэр къызэригъэплъэжар. Арати, зэшыпхъуитIым Хьисэ лIыкIуэ хуагъакIуэри жрырагъэIащ я дэлъху Лазар лIэн къэнэну зэрыхэлъыр.

 

А хъыбарыр щыжраIам, Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэм ящIыгъут. И гъуэгу ирикIуэхэм ящIэрт а унагъуэр Хьисэ фIыуэ зэрилъагъур, абы къыхэкIыуи занщIэу традзэу кIуэну я гугъащ. АрщхьэкIэ Хьисэ пIащIэртэкъым.

„Зыри къыдгурыIуэркъым, - жиIащ абыхэм ящыщ зым, - Лазар сымаджэ хьэлъэщи, и псэм йоджэ, сыт уэ Вифание икIэщIыпIэкIэ ущIэмыкIуэр?“

„Абы щхьэусыгъуэ иIэщ, - жиIащ Хьисэ. - ТIэкIу зыхуэвгъэшэчи, псори фи нэкIэ флъагъунщ".

МахуитI дэкIа нэужь, сытми, икIэм-икIэжым, Хьисэ моуэ жиIащ: «Мис иджы игъуэ хъуащ ди ныбжьэгъу Лазар деж дыкIуэну». ЩыхьэщIа я хэгъэрейхэм фIэхъус ирахыжри, ахэр Iуащхьэм щхьэдэх гъуэгумкIэ Вифание кIуэну ежьащ.

 

Вифание щынэблагъэм, я унэхэм къыщIэжурэ Хьисэ къепщIэпщIэкIыу щIадзащ цIыхухэм.

Мы щIыпIэм щыпсэу дэтхэнэми фIыуэ къицIыхурт Хьисэ.

 

„Щхьэ нэхъ пасэу укъэмыкIуарэ? - къеупщIт ахэр Хьисэ. - Лазар лIакIэщ!“

Абыхэм къалъэгъуащ Хьисэ къыпежьарэ пIащIэу къыхуэкIуэ Марфэ. Ар гъырт. „Хьисэ! ФIыщэу слъагъу си дэлъху закъуэ мыгъуэр... Сэ шэч къытесхьэркъым, нэхъ пасэу укъакIуэу и псэр Iуту укърихьэлIамэ, ар лIэнутэкъым!“

 

Хьисэ гуапэу еплъащ Марфэ: „Тхьэмабы къритынущгъащIэщIэ. Мы сэ ныбжесIэр уи фIэщ щIыи, плъагъунщ уи нэкIэ“. „Сэри сощIэ, Тхьэр псоми тлъэгъуа нэужь, ар зэгуэр къызэрыхъужынур“, - жиIащ Марфэ, зэхихам къигъэуIэбжьауэ.

„Сэращ лIахэр къэзыгъэтэджыжу гъащIэр езытыр, - жэуап къритащ абы Хьисэ. - СэркIэ фIэщхъуныгъэ зиIэр лIэми, мыкIуэдыжын гъащIэр иIэнущ. Умынэщхъей, Марфэ, сэркIэ фIэщхъуныгъэ зигъэIэ!“

 

Мэриеми унэм къыщIэкIри, ахэр зэщIыгъуу кхъэлэгъунэр зыщIэт бгъуэнщIагъым кIуащ. Абы щIэлът Лазар и хьэдэр. БгъуэнщIагъым и щIыхьэпIэр мывэ инкIэ зэхуэщIат.

 

ЦIыху гуапэу, псэ хьэлэлу дунейм тета Лазар зэрахэмытыжым щхьэкIэ гъыурэ, ахэр бгъуэнщIагъым хуэкIуэрт. Гъырт езы Хьиси. БгъуэнщIагъым зэрынэсу Хьисэ Iэдэбу, ауэ унафэ хэлъу жиIащ:

„Мывэр IувгъэкIуэт бгъуэнщIагъ щIыхьэпIэм“.

„МахуиплI хъуащ ар дунейм зэрехыжрэ“, - идакъым Марфэ.

Ауэ мывэр IуагъэкIуэтащ, дауэрэ хъуми. Хьисэ уафэм дэплъейри, Тхьэм зыхуигъэзащ:

„Ди Адэ ЛъапIэ! ФIыщIэ пхузощI. Сэ сщIэрт уэ си лъэIур зэхэпхыу зэрыбгъэзэщIэнур. Мы цIыхухэм фIэщхъуныгъэ ягъуэтыну щIы сэ сыкъызэрыбгъэкIуамкIэ“.

 

БгъуэнщIагъ кIыфIым зыщIишиери, Хьисэ макъ лъагэкIэ жиIащ: „КъыщIэкI, Лазар!“

 

Шынагъуэм зэщIиубыдауэ цIыхухэр еплъырт бгъуэнщIагъым и къыщIэкIыпIэм. Мы екIуэкIыр псоми яфIэтелъыджэрт. Мэриемрэ Марфэрэ я закъуэт Хьисэ жиIар зи фIэщ хъуар. Абыхэм ящIэжт абы къажриIар: „Сэращ лIахэр къэзыгъэтэджыжу гъащIэ езытыр“.

 

Абы хэту Лазар кIыфIым къыхэкIащ. Я жьэр ущIарэ жаIэнур ямыщIэу, цIыхухэр жауэ зэхэтт.

„ПсынщIэу къытефхыт абы джэбыныр“, - жиIащ Хьисэ. Нэхъ лIыхъужьу зытIущ къахэкIащ абы и унафэр ягъэзэщIэну...

ЦIыхухэм Лазар къаухъуреихьащ итIанэ. ЗэрагъэщIэгъуэнур къахуэщIэр-тэкъым: Лазар теплъэкIэ лажьэ иIэтэкъым, узыншэт! ХъуэпскIыр къызыщIих абы и нитIым цIыхухэр щIэплъэрт, и Iэпкълъэпкъыр къаIэбэрэбыхьырт.

 

Къуажэдэсхэм я нэхъыбэр Лазар и унэм кIуащ, ар къызэрыхъужам щхьэкIэ ефэ-ешхэ ящIыну. Хьисэ щIыгъуахэм ящыщ зыбжанэм къалэм къагъэзэжащ. К Ахэр къыздэкIуэжым, зыхуэзэу хъуам хуаIуэтэжащ Вифание къыщыхъуа Iуэхушхуэ телъыджэр.

„Телъыджэ дыдэщ ар, - жаIэрт абыхэм. - Хьисэ зэреджэу, Лазарыр бгъуэнщIагъым къыщIэкIри, псэууэ, лажьи-хъати имыIэу къытхыхьэжащ!“

 

Зэхахар зигу иримыхьар дин егъэджакIуэхэмрэ дин пашэхэмрэ я закъуэт. Зэи хуэмыдэжу, ахэр иджы нэхъри хуэмыарэзы хъуат Хьисэ.

„Мэрием, Марфэ, Лазар сымэ ятеухуахъыбарыр фэ къыщывгъуэтынщ ХъыбарыфIыр Иуан къызэрыжиIам и 11-нэ псалъащхьэм.

 

„Iуэхушхуэ телъыджэкIэ“ дызэджэу дунейм и ухуэкIэ-зыужьыкIэ хабзэхэм къащхьэщыкI Хьисэ илэжьахэр щIилэжьар цIыхухэм яригъэгъэщIэгъуэн е ядэIэпыкъун къудей щхьэкIэкъым. А Iуэхушхуэ телъыджэхэмкIэ Мэссихь цIыхум хьэкъ ящищIырт ар зэрызэджэж дыдэрауэ зэрыщытыр. „ЛIахэр къэзыгъэтэджыжу, гъащIэ езытыр сэращ“ жиIэу Лазар къигъэхъужа нэужь, цIыхум хьэкъ ящыхъуащ абы жиIэр зэрыпэж дыдэр. ГъащIэми ажалми я тепщэт ар. ЛIахэм къазэрыхэтэджыкIыжамкIэ Хьисэ куэд дэмыкIыу ажалым текIуащ. А текIуэныгъэми кIэ иIэкъым!  

  

ХЬИСЭ ХУЭЗАХЭМРЭ ЗЭРЫХУЭЗА ЩIЫКIЭХЭМРЭ
 

ЦIыкIухэм фIы дыдэу ялъагъурт Хьисэ.

„ФынакIуи, къэдвгъэлъыхъуэ ар", - жаIащ абыхэм зэгуэрым.

Адэ-анэхэми, унагъуэ лэжьыгъэри губгъуэ лэжьыгъэри къагъанэрти, Хьисэ жиIэхэм едэIуэну куэдрэ кIуэрт. ЩыкIуэкIэ сабийхэри зыщIагъурт абыхэм. ЦIыхубэм щахэпсэлъыхьын зэман езы Хьиси сытым дежи къигъуэтырт. Ар дапщэщи хьэзырт ахэр зыщIэупщIэу хъуам жэуап иритыну, ядэIэпыкъуну.

 

Хьисэ сымаджэхэр щигъэхъужкIэ, цIыхубэм гуфIэгъуэшхуэр яIэт. Зэгуэрым абыхэм я нэгу щIэкIащ къызэралъхурэ ныкъуэдыкъуэу, къимыкIухьыфу щытар къэтэджу къикIухь зэрыхъуар. НэгъуэщI зэгуэрми нэфым япэ щIыкIэ жыгхэмрэ плъыфэхэмрэ зэхигъэкI хъуащ, итIанэ и нэхэр къэплъэжыпащ.

 

УпщIэ гугъу гуэрхэм жэуап щаритым е Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щытепсэлъыхьым деж Хьисэ едэIуэну яфIэфI дыдэт цIыхухэм.

 

ФщIэжрэ Никодим жыхуаIэу щыта лIыр? Ар хуабжьу фIэлIыкI зиIэ цIыхут, упщIэ гугъухэмкIи Хьисэ зыхуигъазэрт. Ар иришынэрт Тхьэмадэ Хасэшхуэм хэт адрейхэм къалъагъункIэ, абы къыхэкIыуи Хьисэ деж жэщкIэрэ кIуэрт.

„Уи фIэщ щIы, Никодим, - къыжриIащ Хьисэ абы зэгуэр, - Тхьэм дунейм и цIыхухэр апхуэдизкIэ фIыуэ илъэгъуати, езым и Къуэ закъуэ сэ а дунейм сыкъигъэкIуащ, фIэщхъуныгъэ къысхузиIэ дэтхэнэми мыкIуэдыжын гъащIэ естын щхьэкIэ“.

Никодим хэгупсысыхьыпауэ щIэкIыжащ. Абы зэи щыгъупщакъым япэ дыдэу Хьисэ щыхуэза махуэр.

 

Зэгуэрым Хьисэ деж сымаджэ гуэр къахьат. Узым апхуэдизкIэ къарууншэ ищIати, абы къыхуэкIухьыртэкъым. Кхъаблэм телъу ар и ныбжьэгъухэм къахьат. ЦIыху Iув зэхэтыр щалъагъум, абыхэм къагурыIуащ а къомым япхыкIыу сымаджэр унэм зэрыщIамыхьэфынур.

Апхуэдэу щыхъум, абыхэм языхэзыммыр и щхьэм къихьащ. „Унащхьэмгъуанэ хуэтщIу абыкIэ етхьэх щIэмыхъур сыт?“ - жиIащ абы.

 

Хьисэ сымаджэр сапсаууэ игъэхъужри, щIэкIуэрыкIрэ дуней гуфIэгъуэр иIэу унэм кIуэжащ. А цIыхум игъащIэкIэ щыгъупщэжын хуейтэкъым Хьисэ зэрыIущIар.

Псыкъуийм деж Хьисэ зыхуэзауэ щыта Самарие щыщ бзылъхугъэр-щэ? ФщIэжыркъэ ар? А бзылъхугъэм игъэщIэгъуауэ щытащ Хьисэ, сэ езым уэ псы уезгъэфэфынущ, къыщыжриIам.

„Дауэ сызэребгъэфэфынур, псы къызэрипхын кхъуэщын къудей уимыIэу?” - жиIащ абы.

„А сэ узэзгъэфэну псыр, - жэуап къритащ абы Хьисэ, - мыкIуэдыжын гъащIэ здэщыIэ дунейм къыщыщIэж псынэращ. Тхьэуэ уафэм щыIэм и Тепщэныгъэ-шхуэм зэи зыри псы щыхуэлIэнукъым“.

 

Абы къыдэкIуэу Хьисэ бзылъхугъэм къыхурибжэкIащ къигъэщIам къри-убыдэу абы Iейуэ ищIауэ хъуар.

 

Абы и ужькIэ бзылъхугъэм игъэзэжащ къалэм.

«Хьисэ Тхьэм и Къуэщ! - яжриIэрт абы цIыхухэм. - Абы сэ стеухуауэ псори ещIэ!»

А махуэм къыщыщIэдзауэ Хьисэ зэрыхуэзауэ щытар зэи игу ихужакъым а бзылъхугъэм.

ЦIыхухэм яхэтт Хьисэ зыгуэркIэ елъэIун укIытэхэри. Бзылъхугъэ гуэр, псалъэм папщIэ, хуабжьу щIэхъуэпсырт Хьисэ зрыригъэхъужыну. Куэд щIат ар зэрысымаджэрэ, ахъшэу иIари Iэзэхэ ятриухат, ауэ зи нэхъыфI хъуртэкъым.

 

Мызэ-мытIэу ар кIэлъыплъат Хьисэ сымаджэхэр зэригъэхъуж щIыкIэм. „Абы и щыгъыным сеIусэмэ, занщIэу сыхъужынущ", - жиIэрт абы. Арати, зэгуэрым, Хьисэ здыблэкIым, бзылъхугъэр абы и щыгъыным еIусащ. ЗэреIусэуи нэхъыфI къэхъуащ бзылъхугъэр! Хьисэ игъэхъужауэ арат! Зэи щыгъупщакъым ар а бзылъхугъэм.

 

Иаир бауэбапщэу Хьисэ деж жэрт, елъэIуну. Абы ипхъу цIыкIур лIэуэ телът, Iэзигъуази хэзагъэртэкъым. АрщхьэкIэ, Хьисэ деж апхуэдизкIэ лъэIуакIуэ куэд къэкIуауэ Iутти, абыхэм къахэкIыу Иаир и унэм кIуэну хунэмысурэ, хъыджэбз цIыкIум и псэр хэкIащ.

Унагъуэм ису хъуар зэщIэгъуагэрт. Арати, Хьисэ, хъыджэбз цIыкIум и хьэдэр зыщIэлъ пэшым щIыхьэри, и Iэр къищтащ. „Тэдж!“ - унафэ хуищIащ абы хъыджэбз цIыкIум. Лажьи-хъати имыIэжу, хъыджэбз цIыкIур къыщызэфIэувэжым, зэрагъэщIэгъуэнур ямыщIэу псори гуфIащ... Иаири ипхъуми игъащIэкIэ ящымыгъупщэжыну я гум къинащ абы щыгъуэ Хьисэ зэрыIущIамрэ абы къахуищIамрэ.

 

Хьисэ зэгуэрым еджащ:

„Хьисэ! Еплъыт мы дэ бэлыхьрэ гузэвэгъуэу ттелъыр зыхуэдизым!"

 

Ахэр уэшын уз жыхуаIэр къызэфыкIхэрат. Егъэлеяуэ узыфэ Iейт абыхэмкъеузыр. А узыр зэфыкIым и щIыфэр шыным зэщIи-щтэрти, уэтэпсыр къижу цIынагъэ хъужырт. А узыр зэфыкIым цIыхур щымэхъашэрт, къицIэлэнкIэ щышынэу къыпакIухьырт. Абыхэм яхэплъэри, Хьисэ жиIащ:

„Си цIэр жыфIэурэ фыщылъэIуакIэ, узыншэ фыхъужыным зыкIи шэч къытевмыхьэу щхьэж и унэ фыкIуэж!“

 

Къалэм кIуэжу гъуэгум здытетым, абыхэм гу лъатащ цIынагъэхэр гъущу я щIыфэр къабзэ зэрыхъужам. Ахэр апхуэдизкIэ пIащIэрт нэсыжу я унагъуэхэр ягъэгуфIэнуи, Хьисэ фIыщIэ хуащIыну ящыгъупщат. Зы закъуэщ ар зигу къэкIыу Хьисэ фIыщIэ хуищIын щхьэкIэ къэзыгъэзэжар. Зэи щыгъупщакъым абы Хьисэ Мэссихь зэрыIущIауэ щытар.

 

Хьисэ деж зэгуэрым къэкIуащ зы щIалэ бей.

„КхъыIэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм къысхутепсэлъыхьыт, - къелъэIуащ ар Хьисэ. - МыкIуэдыжын гъащIэ зэрызгъуэтыну щIыкIэр зэзгъэщIэну сыхуейт".

 

ЦIыхубэр пэплъэрт Хьисэ жиIэнум, сыту жыпIэмэ,а щIалэм и закъуэтэкъым - псори хуейт ар къащIэну.

„Уэ Тхьэр фIыуэ уолъагъу, абы и унафэхэр уогъэзащIэ. Ауэ, сэ къызэры-сщыхъумкIэ, уэ уи мылъкум хуабжьу утегужьеикIащ, - жэуап къритащ Хьисэ абы. - НтIэ, мис а уи мылъкур цIыхум яхуэбгуэшрэ фIэщхъуныгъэ къысхуиIэу си ужь укъиувэмэ, итIанэ мыкIуэдыжын гъащIэр бгъуэтынущ".

 

ЩIалэщIэр, нэщхъей къэхъуауэ, лъэныкъуэкIэ IукIащ. Ар тегушхуэртэкъым и мылъкур цIыхухэм яхуигуэшыну, егъэлеяуэ къулейти. Дауэ щытми, Хьисэ щыхуэза махуэр гуимыхуж щыхъуащ абыи.

 

Ерихон кIуэ гъуэгум и бгъум деж щыст ВартимейкIэ зэджэ лIы нэфыр. Псоми яцIыхурт ар. Хьисэ 6лэкIыу щызэхихым, ар ину кIиящ:

„Хьисэ! Мыдэ къызэдаIуэт!“

„УмыкIий! УмыкIий!“ - жраIэрт абы. АрщхьэкIэ и макъым нэхъри зригъэIэтурэ еджэрт ар Хьисэ.

 

Щымыхъум, Хьисэ къэувыIащ.

„СыткIэ укъысхуей?“ - еупщIащ абы Хьисэ.

„Сыту насыпыфIэу зыслъытэжынут сэ, мы дунейр слъагъуу щытамэ!“ - жиIащ нэфым, гущIэгъу лъыхъуэу.

 

А зы напIэзыпIэми Вартимей и нэр къэплъэжащ икIи къилъэгъуащ къызэралъхурэ къэзыухъуреихь, ауэ зэи зыIумыплъа дунейр.

 

ИгъащIэкIэ игу имыхужыну Хьисэ щыIущIа махуэр къыхэнащ абы и гъащIэм.

Хьисэ хэт хуэзами, а махуэр гуимыхужу абы и гъащIэм къыхэнэрт, Хьисэтеухуа хъыбархэр яхуиIуэтэнуи цIыхухэм яхуэпIащIэрт.

 

«Хьисэ хуэзахэмрэ зэрыхуэза щIыкIэмрэ» теухуа хъыбархэр Инджылым и кIыхьагъкIэ хэту къыщывгъуэтынщ.

 

Хьисэ хуэза нэужь, цIыхухэм я гъащIэм зэрыщыту зихъуэжырт. Япэм ещхьу, иджыри

Хьисэ зэрыIущIэм цIыхухэм я гъащIэр ехъуэж. Мыбы къыкIэ-лъыкIуэ „Хьисэ Израилым и пащтыхь» хъыбарыр топсэлъыхь Хьисэ лIэным махуэ зыбжанэ фIэкIа имыIэжу абы цIыхухэр зэрыхуэзам, жиIэу зэхахам, далъэгъуахэм.   

  

ХЬИСЭ ИЗРАИЛЫМ И ПАЩТЫХЬЩ
 

„Хьисэ къокIуэ! Хьисэ къокIуэ!“ - жаIэурэ цIыхухэр щызэрызехьэрт Ерусалим. IутIыж махуэшхуэр ягъэлъэпIэну Ерусалим къэкIуа цIыху къомыр къалэм дэз хъуат. Мор щызэхахым, заублэрэкIри, цIыху Iувым къалэ уэрам нэхъ иным-кIэ яунэтIащ. Куэдрэ пэплъат цIыхухэр Мэссихь. Иджы, мис, икIэм-икIэжым, шыд шыщIэм тесу ар къалэм къахуеблэгъащ.

 

ЦIыху къыIущIэхэм я плIэидзэхэр ар зэрыкIуэ гъуэгум къыхутраубгъуэрт. ПалыIэ къудамэхэр яIыгъыу абыхэм Хьисэ Iэ къыхуащIырт.

„Хьусаннэ! Зиусхьэным и цIэкIэ къакIуэ Пащтыхьым щIыхьышхуэр ейщ! Я нэхъ Иным щIыхьышхуэр ейщ!

 

ЦIыхубэм гуфIэгъуэр яIэт. Илъэс куэдкIэ узэIэбэкIыжмэ, бегъымбархэм жаIауэ щытащ Израилым я Пащтыхьыр шыдым тесу Ерусалим къызэрыдыхьэнур. Арати, мис, ар къокIуэ! Ерусалим къызэрысу, Хьисэ, цIыхубэм яхэту, Тхьэм и унэшхуэм кIуащ.

 

Тхьэм и унэшхуэм и пщIантIэр бэзэрти, зэхэвэ-зэхэжьэм зыри зэхыуигъэхыртэкъым. Хьисэ гу лъитащ цIыхухэр къэзыгъапцIэ хъуэжакIуэхэм икIи хуабжьу къэгубжьащ.

„Тхьэм и унэшхуэр Тхьэ елъэIупIэущ зэрыщытын хуейр, фэ ар хъунщIакIуэ гъэпщкIупIэм ещхь фщIащ.

«Зевгъэхь адэ!» - макъ лъагэкIэ жиIэри Хьисэ, ахъшэхэр къещэщэхыу, хъуэжакIуэхэм я Iэнэхэр щхьэпридзащ.

 

Тхьэм и унэшхуэм и щIыхьэпIэм деж ныкъуэдыкъуэрэ нэфу куэд щызэхэтт. Ахэр Хьисэ елъэIурт, езыми, хьэуэ къыхимыгъэкIыу, псори игъэхъужырт.

 

Я гъащIэм къриубыдэу, нэфхэр дунейм япэ дыдэу теплъэрт, щIакъуэхэми Тхьэм и унэшхуэм и дэкIуеипIэхэм къыщажыхьырт. ГуфIэгъуэшхуэр яIэу сабийхэри зэрыгъэкIийрт.

 

Дин егъэджакIуэхэм я нэхъыбэр иригузэващ цIыхубэр апхуэдэу Хьисэ фIыуэ зэрыхущытым, абы фIэщхъуныгъэ зэрыхуаIэм. Абыхэм Хьисэ зэрагъэтIысын, зэраукIын щхьэусыгъуэ къалъыхъуэу щIадзащ.

„Куэдщ дэ тшэчар, - жаIащ абыхэм, зэчэнджэщыжри, - игъуэ хъуащ ар ди натIэм идгъэкIыну".

АтIэми Хьисэ хъарзынэу ищIэрт абы къыпэплъэр зыхуэдэр, а къэхъуну псори Тхьэм и унафэу, Абы иухауэ зэрыщытыр. Хьисэ псоми щыгъуазэт, яукIыну мурад зэращIари ищIэрт.

 

Махуэ зыбжанэ дэкIауэ, Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэм елъэIуащ  IутIыж  махуэшхуэм щхьэкIэ хэхауэ ефэ-ешхэ ящIу псори абы къыщызэхуэсыну. Ар нэщхъейт, сыту жыпIэмэ ищIэрт и гъуэгу ирикIуэхэм ящIыгъуу афIэкIа зэи ефэ-ешхэ зэрыхэмысыжынур, ар иужь дыдэу зэрыщытыр.

 

Арати, Хьисэрэ абы и гъуэгу ирикIуэхэмрэ щызэхуэсащ абыхэм хухаха пэшым. Пщыхьэщхьэшхэр хьэзырт.

 

Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэм я лъакъуэхэр сабэ защIэт. Ар щилъагъум, Хьисэ, и щыгъын щIыIутелъыр зыщихщ, лъэгуажьэмыщхьэу тIысри, я лъакъуэхэр яхуи-тхьэщIрэ напэIэлъэщIкIэ яхуилъэщIыжу щIидзащ.

 

Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэм укIытауэ ядэртэкъым: „Уэ дэ удигъэсакIуэщ, итIани унэIут къалэныр уогъэзащIэ!“

„Ар дыдэрщ си мурадыр. Сэ фи унэIут къалэныр согъэзащIэ, зыр адрейм фыхуэгуапэу, фызэдэIэпыкъуу, зызэщIэвгъакъуэу фызэрыщытынум и щапхъэ фэзгъэлъагъун щхьэкIэ“.

Ахэр шхэну Iэнэм къетIысэкIащ итIанэ. И гъуэгу ирикIуэхэр шхэуэ здэщысым, Хьисэ абыхэм яжриIащ:

„Фэ фязыхэз сэ нобэ тепщэныгъэ зиIэхэм саIэщIигъэхьэнущ".

 

Хьисэ жиIар абы и гъуэгу ирикIуэхэм апхуэдизкIэ зыхащIати, гу лъатакъым Иудэ къэтэджу зэрыщIэкIам. Ар дин егъэджакIуэхэм я деж кIуауэ арат, Хьисэ ныжэбэ къыщаубыдыфынур дэнэми яжриIэну.

 

МыдэкIэ, Хьисэ щIакхъуэр къищтэщ, Тхьэм фIыщIэ хуищIри, Iыхьэ-Iыхьэу зэпищIыкIыурэ тепщэчым ирилъхьащ.

„Фышхэ! - жиIащ абы. - Куэд дэмыкIыу сэри си Iэпкълъэпкъыр, мис мы щIакхъуэм ещхьу, къаудыныхьынущ икIи зэхакъутэнущ".

 

Ар жиIэри, Хьисэ жызумыпс зэрыт фалъэр къищтащ. Тхьэм фIыщIэ хуищIри, фалъэр хъурейуэ къригъэкIуэкIыну яхуишиящ абы адрейхэм.

„Фефэ псори мыбы щыщ, - яжриIащ абы и гъуэгу ирикIуэхэм. - Жызумыпсым къикIыр сэ фэр щхьэкIэ сщIэкIыну си лъыр арщ".

Пщыхьэщхьэшхэр зэфIэкIа нэужь, Хьисэрэ абы и гъуэгу ирикIуэхэмрэ пэшым къыщIэкIащ. Хьисэ жиIащ итIанэ:

„Фэ псори фызэбгрыжыжынурэ си закъуэу утыкум сыкъивнэнущ".

 

Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэм ягъэщIэгъуащ я дин гъэсакIуэм жиIар. Симон Петр жэуап къитащ итIанэ:

„Псоми утыкум укъранэми, сэ зэикI укъизнэнукъым“.

„Утыкум сыкъибнэнущ, - жиIащ, къытригъэзэжри Хьисэ. - Утыкум сыкъибнэ къудей мыхъуу, уэ сэ сыкъыумыцIыхуу жыпIэнущ".

„Уэ сыуигъусэу сылIэн хуей хъуми, узмыцIыхуу жысIэнукъым“, - идакъым Петр. Ар дыдэр адрейхэми жаIащ.

 

Абы и ужькIэ ахэр кIуащ зейтун жыгхэр къыщыкIыу Гефсимание щыIэ хадэм. Абы къакIуэу щытащ ахэр япэми. Хьисэ лъэныкъуэ зригъэзащ, уафэм щыIэ и Адэм дэщIыгъун щхьэкIэ. Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэр шынати, ящIэнур ящIэжыртэкъым.

 

Махуэ зыбжанэкIэ узэIэбэкIыжмэ, цIыхубэм зыжьэу икIи ину жаIэу щытащ: «Зиусхьэным и цIэкIэ къакIуэ Пащтыхьым щIыхьышхуэр ейщ!» Хьисэ лIэн хуейуэ ар иджы? Ар дауэ? Абы и гъуэгу ирикIуэхэм ящIэртэкъым Хьисэ Мэссихь Тхьэуэ уафэм щыIэм и Тепщэныгъэшхуэу зыми емыщхьым и Пащтыхьу зыми емыщхьыр ару зэрыщытыр. Сыту пIэрэ-тIэ абы къыщыщIынур?

„Хьисэ Израилым и пащтыхьщ" хъыбарым Инджылым и япэ тхылъиплIми фыщрихьэлIэнущ.

Хьисэ Мэссихь къалъхуным куэд иIэу Тхьэм къыхиха и лъэпкъыр къи-гъэгугъауэ щытащ ахэр къезыгъэлын Пащтыхь къахуигъэкIуэну. Ар мамырыгъэм и хъумакIуэ тепщэу щытынущ, абы къыхэкIыуи, зауэм хуэгъэпса шы емылыджым темысу, шыд Iэсэм тесу Ерусалим къыдыхьэнущ.

 

Пасэрей ЗэгурыIуэныгъэм (Ветхий Завет) ит а псалъэхэу Тхьэм бегъымбархэм ягу кърилъхьэу, къажригъэIахэр зэщIащ иужь дыдэу Хьисэ Ерусалим щыдыхьам. ЦIыхухэр гуфIэпсыжу къыпежьат абы. Езы Хьисэ мыхъумэ, зыми ищIэртэкъым махуэ зыбжанэ дэкIмэ, ар зэраукIынур, и закъуэу псоми утыкум къранэу. Абы и ужькIэ къэхъуар фэ къэфщIэнщ, „Хьисэ укI зэрытралъхьар“ хъыбарым фыкъеджэмэ.   

  

ХЬИСЭ УКI ЗЭРЫТРАЛЪХЬАР
 
 

Хьисэрэ и гъуэгу ирикIуэхэмрэ Ерусалим кIуауэ щыIэт. Мысыр пщылIыпIэм журтхэр Тхьэм къызэрыришыжар ягу къэзыгъэкIыж IутIыж махуэшхуэм кIуэну абыхэм загъэхьэзырт.

Арати, къалэм дэкIри, абыхэм хуэмурэ драгъэзеящ Елеон Iуащхьэм тет Гефсимание жыг хадэу зейтун жыг хъарзынэхэр къыщыкIым хуэкIуэ гъуэгумкIэ.

 

„Фэ мыбдеж фыкъанэ, - жиIащ Хьисэ. - Сэ си закъуэ уафэм щыIэ си Адэм сыщIыгъун хуейщ. ФыкъызделъэIу Тхьэм, сыту жыпIэмэ нэхъ хьэлъэ дыдэу си гъащIэм хэтыну махуэр къэсащ".

Арати, лъэныкъуэкIэ IукIуэтри, Хьисэ лъэгуажьэмыщхьэу тIысащ. „Си Адэ, мы гугъуехь шэчыным и фалъэр сIых! - жиIащ абы и псэр гуIэгъуэм ихузу. -Сэ сылIэн хуейщ, мы дунейм тет цIыху тхьэмыщкIэ къомыр уи Тепщэныгъэшхуэм щIэбгъэхьэн щхьэкIэ. Уэ узэрыхуеуэ ирехъу - сэ сыхьэзырщ сылIэну!“

 

И гъуэгу ирикIуэхэм я деж абы къыщигъэзэжам, ахэр жейрт. Хьисэ къи-гъэушащ ахэр. „Сэ тIэкIу фыкъыздэщымысыфыну ара?“ - жиIэри и гъуэгу ирикIуэхэм еупщIащ Хьисэ, нэщхъейуэ.„Фыплъэт, мес, саубыдыну цIыхухэр къокIуэ“.

 

Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэм къалъэгъуащ жыг хадэм къыхэкIауэ къахуэкIуэ зауэлIхэр. Абыхэм яIыгът мафIэр къызыпих пхъакъуэ зырызрэ джатэрэ. Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэр къэшынащ.

ИтIанэ абыхэм къалъэгъуащ зауэлIхэр къэзышэ цIыхур. Ар абыхэм я ныбжьэгъу Иудэт. И ныбжьэгъухэм я нэгум къызэрыщIэмыплъэным хэтт ар. Хьисэ абыхэм зэраIэщIигъэхьэнум пэкIуэу дин егъэджакIуэхэм Иудэ къратат дыжьын ахъшэ тIощIрэ пщIырэ.

 

Иудэ бгъэдыхьащ Мэссихь, и дин егъэджакIуэм, икIи ба хуищIащ. АбыкIэ Иудэ зауэлIхэм къаригъэщIащ яубыдын хуейр хэтми.

 

Джатэ пцIанэхэр зыIыгъ зауэлI гупым, арати, Хьисэ къаувыхьащ.

„Сыт Iэщэ зэрыфщIынур? - къеупщIащ ар абыхэм. - ЛIо, Тхьэм и унэшхуэмсыкъыщывмылъэгъуауэ ара нобэ? Щхьэ сывмыубыдарэ абы щыгъуэ?“

 

Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэр апхуэдизкIэ шынати, жыг хадэ и Iувым зэрызыхагъэпщкIуэнум хэту зэбгрыжащ.

 

ЗауэлIхэм Хьисэ Iуаша нэужь, абы и гъуэгу ирикIуэхэм къагъэзэжащ мы къэхъуам и пэ къихуэу ахэр зэщIыгъуу щышха унэм. Петр и закъуэщ Хьисэ зышэ гупым я ужь иувэу якIэлъыкIуар. Ар хуейт Хьисэ здашэр зригъэщIэну.

 

ЗауэлIхэм Хьисэ яшащ дин пашэшхуэм деж. Дин пашэхэр зэгурыIуащ Хьисэ жэщу яубыдыну, сыту жыпIэмэ ахэр шынэрт Хьисэ фIыуэ зылъагъу цIыхубэм зыкъаIэтынкIэ.

Хьисэ щIагъэкъуэншэн лъэпкъ ягъуэтынутэкъыми, дин пашэхэм къраджащ абы пцIы тралъхьэу зыгъэкъуэншэн цIыху гуэрхэр.

 

ЗауэлIхэм я ужь иту кIуэрт Петр. АрщхьэкIэ, Хьисэ къыпкърыупщIыхьыну дин пашэшхуэм деж щашэм, ар унэIутхэм я гъусэу мыдэкIэ къэнащ. Жэщыр щIыIэти, Петр зигъэхуэбэну мафIэм бгъэдыхьащ.

 

Петр зэхихырт дин пашэшхуэр Хьисэ къызэреупщIыр: „Догуэ, Тхьэм къытхуигъэкIуэну дыкъызэригъэгугъауэ щыта Тхьэм и Къуэ уэра?“

„Сэращ", - жэуап къитащ Хьисэ.

„Мис иджы езы дыдэм жиIэу зэхэтхащ дэ а пцIыр, - жаIэри зэрыгъэкIиящ псори. – Куэдщ дэ абы хуэтшэчар. Езы Тхьэ дыдэм и Къуэу зыкъызэрилъытэжым щхьэкIэ ар укIын хуейщ“.

УнэIутхэм ящыщ зы хъыджэбз мафIэм щыбгъэдыхьэм, Петр гу лъитащ. И Iэ пIыщIахэр мафIэм иригъэуну зыщигъэщхъкIэ, абы и нэкIур мафIэ бзийм къигъэнэхурт.

„Сыщымыуэмэ, уэ Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэм уащыщщ", - жиIащ хъыджэбзым.

Петр къэшынащ.

„Хьэуэ! Хьэуэ! Уэ ущоуэ! - жиIащ абы. – Сэ игъащIэм сытеплъакъым Абы“.

НэгъуэщIхэри щэнейрэ абыкIэ къеупщIати, ар дыдэращ яжриIар.

 

Ещанэу апхуэдэ жэуап щит дыдэм ирихьэлIэу  адакъэр ину Iуащ. Абы ехутылIауэ мафIэм пэмыжыжьэу блаш Хьисэ Петрым къыхуеплъэкIащ:

„Сэ ныщхьэбэ тхьэ хуэсIуат абы игъащIэкIэ ныбжьэгъу пэжу сриIэну, - жиIэурэ егупсысырт Петр, - иджы, мис, сэ ар сцIыхуркъым, жызоIэ“. Арати, укIытэр къыщIэнауэ исурэ абы игу къэкIыжащ пщыхьэщхьэшхэ щхэуэ щыщысам, ныщхьэбэ, Хьисэ къыжриIар: „Адакъэр мыIуэ щIыкIэ сыкъыумы-цIыхуу щэнейрэ жыпIэнущ уэ“.

 

ЗауэлIхэм Хьисэ яшащ Израилым и Iэтащхьэу урым императорым къигъэкIуа Пилат деж.

„Уэ пащтыхь ухъуну ухуейщ, ара? - жиIэри ар къеупщIащ Хьисэ. - Си фIэщ хъуркъым ар императорым и гуапэ хъуну".

„Сэ си тепщэныгъэшхуэр мы фи дунейракъым зыщыщыр, - жиIэри жэуап къитащ Хьисэ. - Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм ухуэзышэ лъагъуэр къахузэIусхыну аращ сэ мы дунейм сыкъыщIытехьар“.

„Апхуэдэу щытмэ, сыт-тIэ мы къомым ущIагъэкъуаншэр?“ - жиIэри Пилат къыпэплъэу пщIантIэм дэт дин пашэхэм я деж щIэкIащ.

„Сэ а цIыхум къуаншагъэ лъэпкъ кIэрылъу къысхуэгъуэтакъым“, - жиIащ Пилат. „Дауэ зэрымыкъуаншэр?! Тхьэм и Къуэу зелъытэж абы, ауэ щыхъукIэ ди хабзэм жеIэ ар укIын зэрыхуейр!“ - жаIэурэ зэрыгъэкIийрт дин пашэхэр.

„Сыт абы 6укIын хуэдизу къуаншагъэу ищIар?“ - жиIэурэ яхэупщIыхьырт итIани Пилат. АрщхьэкIэ дин пашэхэм къагъэдэIуа цIыху къомыр зэрыгъэкIийрт: „Жорым еIулI! Жорым еIулI!“

 

Пилат афIэкIа едэуэжакъым абыхэм. Ар шынэрт журтхэм зыкъаIэтынкIэ е урым императорым бзэгу хуахьыжынкIэ. Арати, Пилат арэзы хъуащ Хьисэ жорым ираIулIыну.

 

Дин пашэхэм ягу зэгъат. ИкIэм-икIэжым, абыхэм я натIэм ирагъэкIынут Хьисэ! Мэссихь фIыуэ зылъагъу цIыхухэм я гур къигъыкIыу еплъырт къалэ блыным адэкIэ щыIэ Iуащхьэм жор хьэлъэр абы зэрыдихым. Хьисэ пащтыхь къахуэхъуну щыгугъат ахэр! Хьисэ и закъуэт зыщIэр Тхьэм ар щIыгум къыщIигъэкIуа Iуэхугъуэр зэщIа хъуным и пIалъэр къызэрысар.

 

Жорым кIэраIулIауэ кIэрылъ Хьисэ цIыхухэм къахэплъэрт. Абы илъагъурт и гъуэгу ирикIуэхэр, къэзылъхуа и анэ Мэрием. Хьисэ фIы дыдэу ищIэрт абы и лIэныгъэр абыхэм я дежкIэ гуауэшхуэу зэрыщытыр. Иуан нэкIэ къилъыхъуэри, Хьисэ абы къыжриIащ:

„Укъэзылъхуам узэрыхущытынум хуэдэу си  анэм хущыт, Иуан, уи нэIэ тегъэт".

„Адэ ЛъапIэ! Яхуэгъэгъу мы цIыхухэм, - жиIэри лъэIукIэ абы зыхуигъэзащ Тхьэм, - сыту жыпIэмэ абыхэм къагурыIуэркъым ялэжьыр зищIысыр!“

Хьисэ и псэр итащ куэд дэмыкIыу.

 

„Ар, пэж дыдэу, Тхьэм и Къуэт!“ – жиIэри зауэлIхэм ящыщ зы къыхэкIиикIащ. Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэр гуауэшхуэм зэщIиIулIат. Абыхэм я гугъащ псори зэфIэкIауэ, Хьисэ зэи ямылъагъужыну: Ауэ ахэр щыуауэ къыщIэкIащ.

Инджылым и япэ тхылъиплIым итщ Хьисэ хьэзабу ишэчамрэ зэрылIа щIыкIэмрэ теухуа хъыбархэр.

 

Иужь дыдэу Ерусалим дыхьэным куэдкIэ и пэ иту, Хьисэ ищIэрт ар зэраубыдынури зэраукIынури.

 

Щаубыдыну пщыхьэщхьэм Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэм къазэрыгурыIуэн-кIэ яжриIат къэхъункIэ хъунур, ауэ я дин гъэсакIуэм и псалъэм къикIхэр къагурыIуакъым абыхэм.

Ар зэрагъэкъуаншэу хъуар, дауи, пцIы зэфэзэщт. Iэтащхьэ Пилат зэхигъэкIат икIи къыгурыIуат щIэбгъэкъуэншэн лъэпкъ абы зэрыбгъэдэмылъыр, ауэ и къулыкъум тешыныхьырти, япэрымыуэу иращIэнур ирыригъэщIащ.

 

„МэлыхъуэфIыр сэращ, - жиIащ Хьисэ. – Сэ си гъащIэр си мэлхэм щхьэкIэ сот". Хьисэ Мэссихь лIэным щхьэусыгъуэ закъуэ хуэхъуар дэращ. Дэ длэжьа гуэныхь къомыр къипшыныжын щхьэкIэщ Хьисэ и гъащIэр щIитар.  

  

IУТIЫЖ МАХУЭШХУЭР

Жорым кIэрылIыхьа нэужь, Хьисэ и ныбжьэгъу лIы цIэрыIуэхэу Аримафей щыщ Исуфрэ Никодимрэ, Мэссихь и хьэдэр жорым къыкIэрахыжри, кхъэлэгъунэ папщIэу къыхаха бгъуэнщIагъ гуэрым щIалъхьащ. ЩIалъхьэри, и щIыхьэпIэм мывэшхуэ IуагъэукIуриежащ. Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэм абы и хьэдэр ямыдыгъужын щхьэкIэ, тепщэхэм 6гъуэнщIагъым и щIыхьэпIэм хъумакIуэхэр Iуагъэуващ. Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэмрэ ар фIыуэ зылъагъуу щытахэмрэ къагъэзэжри, мы гуауэр къэхъуным и пэ къихуэу ахэр шхэуэ зыщIэса пэшым щызэхуэсыжащ. Псори гуауэщхьэуэт, зыми и щхьэр къыхуэIэтыртэкъым.

 

Тхьэмахуэ пщэдджыжьым жьы дыдэу цIыхубз зыбжанэ Хьисэ и хьэдэм щахуэн щхьэкIэ мэ IэфI къызыпих дагъэ лъапIэхэр къыздащтэри, уэрам кIыфIкIхэм ирикIуэурэ бгъуэнщIагъым кIуэну ежьащ. абыхэм ящIэрт Хьисэ и хьэдэр 6гъуэнщIагъым зэрыщIэлъыр, ауэ дин махуэшхуэу ирихьэлIати, журт хабзэм тету хьэдэр зыхуей хуагъэзэну хунэсатэкъым.

ЗамыгъэIэуэлъауэурэ, цIыхубзхэр хадэм хыхьащ. Ахэр щIэгупсысырт мывэшхуэкIэ зэхуащIа 6гъуэнщIагъым щIыхьа зэрыхъунум. АрщхьэкIэ, гъунэгъуу бгъэдыхьа нэужь, зэрагъэщIэгъуэнур ямыщIэу ахэр къыхэкIиикIащ. БгъуэнщIагъым и щIыхьэпIэм мывэшхуэ IугъэукIуриикIауэ IущIащ, хъумакIуэхэри бзэхат.

 

ЦIыхубзхэр 6гъуэнщIагъым щIэлъадэмэ, ар нэщIт. Ахэр къэшынащ. Ар зыхуахьынур ямыщIэу здэщытым, щыгъын зэщIэлыдэхэр ящыгъыу мелыIычитI я пащхьэм къихутащ. ЗэрагъэщIэгъуэнур къахуэщIэртэкъым цIыхубзхэм мы ялъагъур.

„Сыт мыбдеж Хьисэ къыщIыщыфлъыхъуэр? - къеупщIащ мелыIычитIыр цIыхубзхэм. - Ар къэхъужащ! КъывжиIатэкъэ фэ абы, яукIыу махуитI дэкIа нэужь, ещанэ махуэм къызэрыхъужынур? Ар дыдэращ-тIэ къэхъуар. ФыкIуи, абы и гъуэгу ирикIуэхэм яжефIэж къэхъуар“.

 

ЦIыхубзхэм ягъэзэжауэ, пIащIэу къалэ уэрамым ирикIуэрт.

„Хьисэ псэущ! МелыIычхэр къыдэпсэлъащ!“ жаIэрт абыхэм бэуэбапщэрэ зэкIэлъагъэпIащIэу.

Хьисэ и ныбжьэгъухэр щызэхуэса унэм нэсри, бжэм теуIуэу щIадзащ.

„КъыIуфхыт, - жаIэурэ ахэр еджэрт Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэм. Къыфхуэтхьащ дэ хъыбарыф!: Хьисэ псэущ!“

 

Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэм ящыщу тIу Эммаус кIуэ гъуэгум тетт а махуэ дыдэм. Абыхэм ящIэртэкъым Хьисэ къызэрыхъужар.

„Хьисэ щымыпсэужкIэ, лIо дэ Ерусалим дэтщIыхьыжынур?“ - апхуэдэу Iуэхум егупсысат а тIур.

Апхуэдэу ахэр гъуэгум здрикIуэм, нэгъуэщI гъуэгурыкIуэ гуэр къащIыхьащ. Ерусалим къыщыхъуахэм зыри химыщIыкI хуэдэу щытт абыи, Хьисэ зэрылIа щIыкIэр хуаIуэтэжащ. Хуабжьу ягъэщIэгъуащ гъуэгурыкIуэм абы теухуауэ жиIар. ГъуэгурыкIуэм къахуиIуатэу щIидзащ Мэссихь лIэн хуейуэ зэрыщытар. „Неблагъи, пщыхьэщхьэшхэ къыддэшхэ“, - жаIэри, я унэм щынэсыжым, абыхэм гъуэгурыкIуэр щIашащ.

 

Iэнэм здыпэрысым, хьэщIэм щIакхъуэр къищтэщ, Тхьэм фIыщIэ хуищIри, зэпищIыкIащ. Мис абдежым къыщацIыхужащ абыхэм ар! КъызэрыщIэкIымкIэ, апхуэдизрэ къадэуэршэрауэ мы къабгъэдэсыр езы Хьисэт! АрщхьэкIэ, къызэрацIыхужу, ар бзэхыжащ.

„ИкIэщIыпIэкIэ Ерусалим дгъэзэжу мы дызыIущIар яхуэдмыIуэтэжу хъунукъым ди ныбжьэгъухэм“, - жаIэри, хэкIуэта пэтми, ахэр гъуэгу теувэжащ.

 

Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэм ягъэзэжа нэужь, кхъэлэгъунэм деж цIыхубзхэм щалъэгъуамрэ щызэхахамрэ къыхуаIуэтэжащ.

„Ди фIэщ хъуатэкъым цIыхубзхэм къытхуаIуэтар, - жиIэрт Петр, - ауэ кхъэлэгъунэм дыщыщIыхьам, хьэкъ тщыхъуащ: Хьисэ къэхъужащ!“

 

Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэр апхуэдэу зэпсалъэу здэщытым, езы Хьисэ пэшым къыщIыхьащ. Псори зэуэ къаскIэри зэлъыIукIуэтащ.

„Фымышынэ, - жиIащ абы, - сэ сыхьэдэджадэкъым. Тшхын гуэр щымыIэу пIэрэ?“

Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэм Iэнэр къыхуаухуащ. Хъарзынэтэкъэ-тIэ ар абыхэм я дежкIэ псэууэ Хьисэ ялъагъужыныр!

 

Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэм ящыщ зы, Фома, къэтт. Ар щIэсатэкъым Хьисэ пэшым къыщыщIыхьам. Я дин гъэсакIуэр къэхъужауэ зэралъэгъуар щыжраIэм, абы мыпхуэдэ жэуап къаритыжащ:

„Хьисэ и Iэхэм телъ гъущI IунапIэхэр си нэкIэ сымылъэгъуауэ а жыфIэр си фIэщ схуэщIынукъым“.

 

Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэр, Фомаи яхэту, къыкIэлъыкIуэ тхьэмахуэм къызэ-хуэсащ. Мис абы щыгъуи Хьисэ къахуэкIуащ абыхэм.

„Сэ сыфщIыгъущ, Фома, - жиIащ абы щэху дыдэу. – Къызбгъэдыхьи, къызэIусэт. Мис гъущI IунапIэхэр. У и фIэщ хъуа иджы сэ сыкъызэрыхъужар, сызэрыпсэур?“

„Хъуащ! - жиIащ Фома. - Си Зиусхьэн икIи си Тхьэ!“

 

Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэр Ерусалим къикIыжри, Галилей псыхъурейм къа-гъэзэжащ. Псы Iуфэм пэмыжыжьэу щыт кхъуа-фэжьей нэщIым ахэр ист пщэдджыжь гуэрым. Зы бдзэжьей цIыкIу нэхъ мыхъуми жэщ псом къахуэубыдатэкъым абыхэм. Апхуэдэу псым здытетым, мыдэкIэ псы Iуфэм Iут лIыр егуоуащ абыхэм:

„Хъыр кхъуафэжьейм и адрей лъэныкъуэмкIэ щыхэвдзэт!“

„Бдзэжьей ещэкIэ дымыщIэ и гугъэу аращ абы“, - жаIэурэ зэплъыжащ ахэр, арщхьэкIэ, егупсысыжри, а лIым зэрыжиIам тету, хъыр хадзащ.

 

Къыхахыжмэ, хъым и Iум къэсу бдзэжьейр изт...

„Ар Хьисэщ!“ - жаIэри зэрыгъэкIиящ ахэр.

 

А пщэдджыжь дыдэм, пщэдджыжьышхэ шхуэу здэщысым, Хьисэ Петр хуэму епсалъэрт.

Абы, дауи, хуигъэгъуакIэт гукъинэж хъуа а жэщым Петр шынауэ зэрыщы-тар, абы къыхэкIыуи щэнейрэ Хьисэ имыцIыхуу къызэрыжиIар.

 

Тхьэм абы и пщэм къалэнышхуэ къызэрыдилъхьар Хьисэ Петр гуригъэIуащ.

Тхьэмахуих дэкIа нэужь, Хьисэ, и гъуэгу ирикIуэхэр зыщIигъури, Ерусалим пэмыжыжьэу щыт Елеон Iуащхьэм и щхьэм дэкIащ.

 

„Фэ фи нэкIэ флъэгъуагъэххэщ сэ Тхьэм къызита лъэкIыныгъэр зыхуэдизыр: узым пIэхэнэ ищIахэр къызэрызэфIэзгъэувэжар, лIахэр къызэрызгъэтэджыжар, - яжриIащ абы и гъуэгу ирикIуэхэм. - Фэ къанэ щымыIэу зэхэфхащ Тхьэуэ уафэм щыIэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбар пэжхэр.

 

Иджы игъуэ хъуащ сэри си Адэм деж згъэзэжыну. Сэ сыхуейт си хъыбарыр дуней псом щыфIуэтэну, щызэлъэфщIысыну. Ерусалим вгъэзэжи, фыпэплъэ. Тхьэм фэри къывитынщ езым и Псэ ЛъапIэм и къарур“.

 

Ар жиIэщ, и Iэр къиIэтщ, псоми Тхьэм и нэфI къащыхуэну яхуелъэIури, япыIукIуэтурэ бзэхыжащ...

 

Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэм къалэм къагъэзэжри, пэплъэу щIадзащ. Хьисэ зэрыригъэсам ещхьу, ахэр Тхьэм елъэIурт. Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэм ягу къагъэкIыжырт куэдри тепсэлъыхьыжырт я дин гъэсакIуэм илэжьу далъэгъуа Iуэхушхуэ телъыджэхэм.

 

Абыхэм хащIыкIIатэкъым нэгъуэщI гъащIэ, гъащIэщIэ къазэрыпэплъэм.

 

«IутIыж махуэшхуэм» теухуа хъыбархэр Инджылым и япэ тхылъиплIым итщ. Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэм я дежкIэ дин гъэсакIуэм и лIэныгъэри дунейкъутэжри зыт. Ахэр пэплъэрт Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр куэд дэмыкIыу къызэрысынум, арщхьэкIэ я Пащтыхьыр лIакIэт. ГугъапIэ лъэпкъ щыIэжтэкъым. Абыхэм ящыщ зыми Мэссихь тепщэныгъэ зиIэхэм яIэщIилъхьэжащ. АрщхьэкIэ, гъэщIэгъуэнракъэ, тхьэмахуэ пщэдджыжьым цIыхубзхэм къалъэгъуащ бгъуэнщIагъым и щIыхьэпIэм Iулъа мывэшхуэр зэры-IугъэукIуриикIари Хьисэ и хьэдэр бгъуэнщIагъым зэрыщIэмылъыжри. Пшапэр зэхэмыуэ щIыкIэ, Хьисэ и гъуэгу ирикIуэ псоми къащIакIэт я дин гъэсакIуэр къызэрыхъужар. Я нэкIэ ялъэгъуат абыхэм ар. Япэм абы къажриIарэ къызэригъэгугъауэ хъуар зэщIакIэт. ЛIэныгъэм текIуат ар. Къанэ щымыIэуи ипшыныжакIэт дэ гуэныхьу ттелъу хъуар. Арати, Мэссихь деж гъащIэщIэ щыдгъуэтын папщIэ, Мэссихь ди пIэкIэ дунейм зэрехыжам теухуа хъыбарым зэуэ дунейр зэлъищIысащ.   

 

ПСОМИ ЯХУЭГЪЭЗА ХЪЫБАРЫФI

Хьисэ, арати, къыздикIа уафэм дэкIуеижащ и Адэм деж. Ауэ щIыгур ибгынэн и пэ, абы и гъуэгу ирикIуэхэм пщэрылъ къахуищIащ ХъыбарыфIыр дуней псом щызэлъащIысыну.

„Ауэ Тхьэм и дэIэпыкъуныгъэ Iэмал имыIэу къыфхуэкIуэнур хэмытмэ, фэ ар флъэкIынукъым. Ерусалим вгъэзэжи, фыпэплъэ“, - яжриIащ абыхэм Хьисэ.

 

Зэгуэрым, Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэр, зэрахабзэу, зэхуэсарэ Тхьэ елъэIуу здэщысым, жьапщэшхуэм ищIым хуэдэ макъ уафэм зэуэ къехри, макъышхуэр щIэз хъуащ. Абыхэм итIанэ къалъэгъуащ мафIэ бзийм ещхьу дэтхэнэми и щхьэгум нэхугъэ гуэр къызэрыщызэщIэнар. ЗэрагъэщIэгъуэнур къахуэмыщIэу, Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэр зыр зым еплъыжырт.

 

А бзэр зэуэ къиутIыпщыжри, ахэр къэпсэлъащ, ауэ игъащIэм зэрымы-псэлъа бзэ зэмылIэужьыгъуэ гуэрхэкIэт ахэр зэрыпсалъэр.

„Ар Хьисэ зи гугъу ищIа лъэкIыныгъэшхуэу Тхьэм къытхуигъакIуэр аращ!“ – жаIэри къэгуфIащ ахэр.

 

Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэм ящыгъупщэжат зы тэлайкIэ узэIэбэкIыжмэ, ахэр дзыхыIыщIрэ щтэIэщтаблэу зэрыщытар. Иджы ахэр тепыIэжыртэкъым, Хьисэрэ Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэмрэ я хъыбар мы дунейм цIыхуу тетым хуаIуэтэну хуейт.

 

Ерусалим цIыхур дэзт, сыту жыпIэмэ дунейм и лъэныкъуэ псомкIи къикIыурэ журтхэр къыщызэхуэсат ПэнтэкосткIэ зэджэ махуэшхуэр ягъэлъэпIэну. Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэр а зэрыхьзэрийм къызэхуишэса цIыху къомым дин гъэсакIуэ Хьисэ Мэссихь теухуауэ яхутепсэлъыхьырт, гум къипсэлъыфым къедаIуэхэр дахьэхыу. ЦIыхухэм яхэттэкъым къыжраIэр къызыгурымыIуэ, сыту жыпIэмэ дэтхэнэми къызэрепсалъэр езым и анэдэлъхубзэмкIэт.

 

Ар Iуэхушхуэ телъыджэт! Тхьэм Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэм къаритат Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм мышынэжу тепсэлъыхьын щхьэкIэ къаруушхуэ. Хьисэ яхэттэкъым абыхэм, ауэ Тхьэм къахуигъэкIуат езым и Псэ ЛъапIэр.

 

Псом нэхърэ нэхъ гъэщIэгъуэну зызыхъуэжар Петрт. Хьисэ жорым щыкIэраIулIам щыгъуэ, ар шынагъуэм зэуэ зэщIиубыдат. Абы щыгъуэ Петр хъуэпсапIэу къы-хуэнар зыт: Галилей псыхъурейм нэхъ щIэхыIуэу кIуэжу и Iуэху и ужь ихьэжынырт.

 

АрщхьэкIэ Тхьэм и Псэ ЛъапIэм и къарур иджы Петр икъукIэ игу илъ хъуат. Псом япэ иту, ХъыбарыфIыр абы цIыхухэм ялъигъэIэсырт. ГуфIэгъуэм и нурыр кърихырт абы и нэгум.

Махуэ зыбжанэ дэкIа нэужь, Петррэ Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэм ящыщ Иуанрэ Тхьэм и унэшхуэм кIуащ, ТхьэмелъэIунхэу. Тхьэм хуаIэ лъагъуныгъэр абыхэм ягу хуабжьу илъ хъуат.

Уэрамым щрикIуэм, абыхэм гу лъатащ къызэралъхурэзи лъакъуэр къыщIэмыува лIы гуэр Тхьэм и унэшхуэм пэгъунэгъуу щысрэ факъырэIус щIэлъэIуу. Махуэ къэс ар и ныбжьэгъухэм къахьырт мыбдежым, Тхьэм и унэшхуэм кIуэхэм гущIэгъу къыхуащIу зыгуэр къыхуашиин щхьэкIэ.

 

„КхъыIэ, фыкъыздэIэпыкъу сэ тхьэмыщкIэм!“ - жиIэри ар къелъэIуащ Петррэ Иуанрэ.

„Дэ ахъшэ диIэкъым, - жриIащ абы Петр, - ауэ дэ уэ уэттынщ ахъшэ нэхърэ нэхъыфI гуэр. Хьисэ Мэссихь и цIэкIэ сэ 6жызоIэ: тэджи, къэкIухь!“

 

Петр Iэбэри, дэIэпыкъуурэ, ар къызэфIигъэуващ. ГъэщIэгъуэныщэратэкъэ, абы и лъакъуэхэр зэуэ быдэ хъущ жыпкъэуи, лъэрэ пкIэуэ Тхьэм и унэшхуэм и дэкIуеипIэр къызэхижыхьу щIидзащ. А лIыр, макъ лъагэкIэ Тхьэм фIыщIэ хуищIурэ, Петррэ Иуанрэ ар Тхьэм и унэшхуэм щIашащ.

 

Тхьэм и унэшхуэм щIэтхэм ныкъуэдыкъуэу щыта лIыр щалъагъум, зэрагъэщIэгъуэнур ямыщIэрэ я бзэр иубыдауэ зы тэлайкIэ щытащ.

„Догуэт, догуэт, - жаIащ абыхэм, - уэракъэ Тхьэм мы и унэшхуэм и щIыхьэпIэм деж лъаIуэу Iусар? Уэ уи лъакъуэр къыщIэмыувэу щытащ, дауэ-тIэ мыр зэрыхъуар?“

Ягъэхъужам Iуэхур зытетыр абыхэм яхуиIуэтэжащ.

 

„Апхуэдизу вгъэщIэгъуэн хэлъкъым абы, - яжриIащ Петр журтхэм. - Дэ ди лъэкIыныгъэкIэкъым ар зэрытщIар, ди фIыщIэ лъэпкъ хэлъкъым. Назарет щыщ Хьисэу а фэ фыукIар Тхьэм и Къуэт. Тхьэм къигъэхъужакIэщ ар. Абы и цIэкIэщ мы сымаджэр зэрыхъужар. Тхьэм къыфхуигъэгъуну фелъэIу, щIэпхъаджагъэу влэжьам фызэрыхущIегъуэжар жефIи, абы къыфхуигъэгъунущ. Зыщывмыгъэгъупщэ икIи фи фIэщ фщIы - Хьисэ къэхъужащ, ар псэущ!“

Петр къедаIуэхэм ящыщ куэд гуфIащ, Хьисэ къызэрыхъужар къыщащIэм. Псом хуэмыдэу Хьисэ Мэссихь игъэхъужахэмрэ абы жиIэхэм едэIуэну зыфIэфIу щытахэмрэ.

 

Ерусалим щыщ цIыху куэдым Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа ХъыбарыфIыр я фIэщ хъуащ, абы пэкIуэу Тхьэм абыхэм я гум кърилъхьащ езым и Псэ ЛъапIэр. Зы махуэм нэхърэ къыкIэлъыкIуэм нэхъыбэм  фIэщхъуныгъэ яIэ хъуащ Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэм пэжыгъэр зэрыжаIэмкIэ - Хьисэ псэущ!

 

Дин егъэджакIуэхэмрэ Тхьэмадэ Хасэшхуэм хэтхэмрэ я закъуэщ къэгубжьар, Хьисэ псэууэ жаIэурэ абы и гъуэгу ирикIуэхэм яIуатэр щызэхахам щыгъуэ.

„Мы Хьисэ тепсэлъыхьыныр щывгъэт!“ - жаIэурэ абыхэм Петррэ Иуанрэ паубыдырт. „Ар щыдэзыгъэгъэтыни зэрыщыдгъэтыни щыIэкъым, - жаIэурэ жэуап къатырт модрейхэм, - Хьисэ дэ ди пщэм кърилъхьащ а ХъыбарыфIыр цIыхухэм зэпымычу яхуэтIуэтэну". Зэпыу имыIэу абыхэм цIыхухэм хуаIуэтэжырт Хьисэ къэхъужа зэрыIущIахэр.

 

Хьисэ Мэссихь и гъуэгу техьахэр нэхъыбэ хъурт. Ахэр Тхьэм и унэшхуэм щIэхщIэхыурэ щызэIущIэрт, къахуищIэмрэ къазэрыщхьэщыжымрэ щхьэкIэ Тхьэм фIыщIэ хуащIырт. Хьисэ унафэкъазэрыхуищIам тету, пщыхьэщхьэшхэ зэдэшхэрт, езыр ягу къагъэкIыжу. Зыгуэрым и Iуэху зэIыхьамэ, ахъшэкIэ ешхынкIэ еплIэкIуамэ, къекIуэлIахэр апхуэдэм дэIэпыкъурт, яIэр зэдагуэшырт.

 

ФIэщхъуныгъэ зиIэхэр, пэж дыдэу фIыуэ зэрылъагъурт икIи ящIэрт абыхэм зэхуаIэ лъагъуныгъэр къызыпкъырыкIыр Тхьэм и Псэ ЛъапIэрауэ зэрыщытыр. Езым и Псэ ЛъапIэр икъукIэ ягу кърилъхьэурэ, Тхьэм абыхэм ягу илъыр зэрихъуэкIащ. Мэссихь и ХъыбарыфI дуней псом тет цIыхухэм лъагъэIэсын папщIэ, шынагъуэм, гужьгъэжьым, фыгъуэным я пIэкIэ лъагъуныгъэр, гущIэгъур, жэрдэмыр абыхэм я гъащIэм тепщэ щыхъуащ.

 

Дин егъэджакIуэхэмрэ Ерусалим дэс дин пашэхэмрэ ялъэкI къагъанэртэкъым, Тхьэм и

Тепщэныгъэшхуэм и хъыбар цIыхухэм ялъэIэсыныр къызэпаудын щхьэкIэ. Хьисэ Мэссихь и гъуэгу тетхэр, гущIэгъу лъэпкъ хуамыщIу, къалэм дахурт. Ерусалим къабгынэрти, ахэр нэгъуэщI къалэхэм кIуэрт, Хьисэ и хъыбар цIыхухэм хуаIуэтэн щхьэкIэ.

Арати, Мэссихь теухуауэ Абы и бийхэм ящIа гурылъ фIейри ар зэрагъэлъапIэ Iэмал хъуну Тхьэм иухащ. ХъыбарыфIым мы дуней псор зэлъищIысу щIидзащ.

 

Мы хъыбарыр дэ къыхэтхыжащ «Апостолхэм ялэжьа Iуэхухэр» тхылъым, сабийхэм нэхъ къазэрыгурыIуэнкIи ттхыжащ. Пэнтэкост махуэшхуэм къэхъуар етIуанэ псалъащхьэм къыхэтхащ; Петррэ Иуанрэ щIакъуэр зэрагъэхъужар - ещанэм, журт пашэхэр апостолхэм зэреныкъуэкъуар -еплIанэ псалъащхьэм къыхэтхащ. Зыми къыхуэлъагъунукъым Тхьэм и Псэ ЛъапIэр, ауэ Хьисэ ар къыхуигъэкIуэну къигъэгугъащ фIэщхъуныгъэ къыху-зиIэу и ужь къиувэ дэтхэнэми. „Абы фэ фригъэсэнщ пэжыр зыхуэдэм, Тхьэм зэрыфIэкъабылым тету фыпсэунымкIи къывдэIэпыкъунщ", - къигъэгугъащ Хьисэ цIыхухэр. Пэнтэкост махуэм щыгъуэ Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэм зыри хащIыкIыртэкъым Тхьэм и Псэ ЛъапIэр абыхэм къазэрыхуехыну щIыкIэм. Жьапщэшхуэм ищIым хуэдэ макъыу уафэм къехамрэ я щхьэгум къиува мафIэ бзийхэмрэ я закъуэтэкъым абыхэм ягъэщIэгъуар. Абыхэм зэуэ зыхащIащ я гум шынэр зэрикIари я Iэпкълъэпкъыр псынщIэ зэрыхъужари. Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэр иджы хуэхьэзырт хэку Iэджэм къикIыу зэхуэса цIыхухэм гу ихакIэ Хьисэ теухуа хъыбарыфIхэр бзэ зэхуэмыдэхэмкIэ хуаIуэтэну. Зыми зыкIи къыхуэгъэувыIэжынутэкъым иджы ахэр.

 

ЩАУЛ ЩАМ ЗЭРЫЩЫIАР

Щаул Ерусалим щытепщэхэм ящыщ зыт. Ар Тхьэм и фIэлIыкIыр зигу илъ цIыху пэжт. ЦIыху куэд къакIуэурэ къечэнджэщырт абы, сыту жыпIэмэ Тхьэм и унафэ хабзэхэр хъарзынэу ищIэрт, гурыIуэгъуэ дыдэуи къыбжиIэфырт.

 

Щаул зэхихат Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэм ятеухуа хъыбар, я дин гъэсакIуэр яукIа нэужь, щэхуурэ зэрызэIущIэхэри ищIэрт.

 

АрщхьэкIэ псоми зэуэ зихъуэжащ: Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэр дэни щыIэу фIэкIа пщIэнтэкъым! Абыхэм Тхьэм и унэшхуэм щIыхьышхуэ Тхьэм щыхуа-щIырт, уэрамыщхьэ къэс Хьисэ и хъыбар цIыхухэр иригъэдаIуэу уащыхуэзэрт. Щаул кIуэ пэтми нэхъыбэрэ зэхиххъуат абы и гъуэгу ирикIуэхэм сымаджэхэр Хьисэ и цIэкIэ ягъэхъужу.

 

Щаул и фIэщ хъуртэкъым Хьисэ Тхьэм и Къуэу. ИкIиищIэртэкъым Тхьэм езым и Псэ ЛъапIэр цIыхухэм къазэрыхуригъэхар. Щаул къыщыхъурт абыхэм цIыхухэр къагъапцIэу. Абы щхьэкIэ езымрэ и ныбжьэгъухэмрэ хуабжьу хущIэкъурт Хьисэ и гъуэгу техьахэм ялэжь Iуэхум кIэ иратыну.

 

Щаул унащхьэзэдикIыу къикIухьурэ Мэссихьрэ Тхьэуэ уафэм щыIэм и Тепщэныгъэшхуэмрэ ятеухуа хъыбархэр цIыхухэм ялъэзыгъэIэсхэр къыщигъуэт-кIэ, лъэхъуэщым ишэрэ игъэтIысу щIидзащ. Абыхэм ящыщ гуэрхи иригъэукIащ Щаул. Дин егъэджакIуэхэмрэ тепщэхэмрэ хуабжьу къыхуэарэзыт Щаул.

 

Щаул Щам къалэм кIуэну ежьащ зэгуэрым. Абы зэхихат Хьисэ Мэссихь и гъуэгу ирикIуэ гуэрхэр Щам щыпсэууэ. Щам кIуэуэ гъуэгум здытетым, зэщIэлыдэрэ, кIуэаракъэ, и нэр игъэузу абы зы нурыбэ гуэр зэуэ къыжьэхэпсащ.

 

ИтIанэ абы зэхихащ къеджэ гуэрым и макъ: „Щаул! - уафэгъуагъуэм хуэдэу Iурт а макъыр. - Щаул!“

„Ухэт уэ? - еупщIащ абы Щаул. - Сэ зыри слъагъуркъым!“

„Хьисэу гугъу ебгъэхьыр сэращ, - къита жэуап макъым. - Къэтэдж, Щам кIуэи, пщIэн хуейр къыбжаIэху пэплъэ“.

 

Щаул къэуIэбжьащ. Нурыр кIуэдыжри, дунейр зэуэ кIыфIыгъэм щIиуфэжащ. ГущIэгъу лъэпкъ хэмылъу чыристанхэм гугъуехь езыгъэшэчхэм я нэхъ лъэрыхьу Щаул хъужыр нэфт, лъэкIыжIатэкъым.

 

Щаул и гъусэхэми зэхахат а макъыр, ауэ зыри ялъэгъуатэкъым. Щаул къагъэтэджыжри, лъэпэрэпэжу ирашэжьащ, Щам кIуэ гъуэгум тету.

 

Зыри зылъэмыкIыж Щаул, япэм ещхьу, зэхэзехуэн хуэщIыжIатэкъым, къалъа-гъумэ, я фэр пыкIыу щыщытри 6лэкIат. Жэщищ-махуищкIэ, къыщIэкI имыIэу, ар унэм щIэсащ. Абы зыри илъагъуртэкъым, шхэртэкъым, псы къудеи ефэртэкъым. И щхьэр къимыIэту, махуэ псом ар егупсысырт къэхъуам.

 

Щаул зыри хищIыкIыртэкъым абы сэбэп къыхуэхъун цIыху Тхьэм къызэрихуигъэкIуам. Ананиет абы и цIэр, Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэм ящыщт. Абы зэхихат Щаул теухуауэ куэд, ищIэрт чыристанхэм Щаул яригъэшэчу щыта гугъуехьхэр зыхуэдизыр.

 

Езы Тхьэ дыдэр къепсалъэрт Анание.

„Анание, - жиIащ Абы, - нобэ уэ 6гъэзэщIэн хуейщ си зы унафэ. Сэ сыхуейщ ЩаулкIэ зэджэ цIыху гуэрым уIущIэну. Ар иджыпсту Щам щыIэщ".  

„Ди Зиусхьэн, ар хъунукъым! - къэуIэбжьащ Анание. - Щаул ди бий кIэуфIыцIхэм ящыщ зыщ, ар Щам къэкIуэнкIэ щIэхъуари гурыIуэгъуэщ: Уи гъуэгу ирикIуэхэр Ерусалим дишэу лъэхъуэщым дридзэну аращ".

 

Тхьэм Анание итIанэ къыжриIэжащ Щам щыкIуэм щыгъуэ Щаул къыщыщIар. „Сэ абы жесIэнщ уэ укIуэу зэрыбгъэхъужынур“, - къыпищащ Зиусхьэным. Анание тхьэмыщкIэ! Сытым хуэдэу къэшынат ар!

 

„Умышынэ, - къыжриIащ абы Тхьэм. - Щаул сэ къалэнышхуэкIэ нэ хуисщащ. Сэ сыхуейщ лъэпкъ куэдым сыкъащIэну, а къалэн гугъур зыгъэзэщIэну къызыпэщылъри Щаулщ».

Арати, Щам и уэрамхэм тету, Щаул и хэщIапIэ унэм кIуэну Анание ежьащ. Ар щыгугъырт Тхьэм икIи ищIэрт Хьисэ къыхилъхьэ къарумрэ зэфIэкIымрэ хуэдэ дыдэ абыи къызэрыритынур. АтIэми абы хуабжьу игъэщIэгъуащ иужькIэ къэхъуар.

 

Бжэм теуIуэри, Щаул зыщIэс пэшым Анание щIыхьащ. Щаул щыст. Анание абы бгъэдыхьэри, и Iэр трилъхьащ и дамэм.

 

„Къуэш Щаул! - жиIащ абы. - Тхьэм сэ сыкъыпхуигъэкIуащ, уи нэхэр къэплъэжу Тхьэм и Псэ ЛъапIэр уигу хуабжьу илъ хъун папщIэ“.

 

А напIэзыпIэми къэплъэжащ Щаул и нитIыр. Иджы абы шэч лъэпкъ къытрихьэжыртэкъым Хьисэ Мэссихь Тхьэм и Къуэу зэрыщытым. Абы теухуауэ чыристанхэм жаIэ псори пэжу къыщIэкIащ. Ахэр зэхэзехуэн ищIыну зыкIи хуеижтэкъым Щаул. Зэхэзехуэн ищIын дэнэ къэна, ар хьэзырт Хьисэ теухуа ХъыбарыфIыр дуней псом цIыхуу тетым ялъигъэIэсыну.

Щаул зэрызихъуэжар щалъагъум, Щам дэс чыристанхэм егъэлеяуэ ягъэ-щIэгъуащ.

„Дэ ди гугъащ абы дыкъиубыду лъэхъуэщым дридзэну, - жаIэрт абыхэм, - арщхьэкIэ Хьисэ тепсэлъыхьынрэ щытхъунрэ фIэкIэ Iуэху иIэжкъым абы, ар къыбгъэувыIэн плъэкIынукъым!“

Щаул куэд щIауэ зыцIыху и ныбжьэгъухэм игъащIэкIэ ягу къэкIынтэкъым абы апхуэдэу зихъуэжыну.

 

„Дауэ ар занщIэу чыристан зэрыхъуар? Ар фIэщхъугъуейщ!“ - жаIэрт абыхэм. АтIэми ар пэжт, пэж дыдэт. Тхьэм Щаул фIыкIэ ихъуэжри, еш имыщIэу ХъыбарыфIыр цIыхухэм ялъэзыгъэIэс дингъасэлI ищIат. Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щIыхьэну и бжэр къахузэIуихыурэ, Мэссихь теухуа хъыбархэр абы хэку куэдым щыщ лъэпкъхэм яхуиIуатэрт. Куэд дэмыкIыу Щаул къеджэу щIадзащ абы и етIуанэ цIэмкIэ - ПаулкIэ.

 

Чыристанхэм гугъуехь езыгъэшэчу щытар Тхьэм и члисэ зэIущIэ къэрал куэдым къыщызэIухынымкIэ жэрдэмщIакIуэ Тхьэм зэрищIам теухуа хъыбарыр  фэ къыщывгъуэтынщ „Апостолхэм ялэжьа Iуэхухэр” тхылъым и ебгъуанэ пса-лъащхьэм. Апостол Паул Мэссихь и гъуэгу зэрытехьам и хъыбарыр апхуэдэ хъыбархэм янэхъ гъэщIэгъуэн дыдэхэм ящыщщ.

Тхьэм фIэзахуэщ, дэтхэнэри, езыр зытет гъуэгу бзаджэр къигъанэу, Мэссихь и гъуэгу дахэм техьэну. Хьисэ и лIэныгъэмрэ лIахэм къазэрыхэтэджыкIыжамрэ гъуэгу къытхузэIуахащ абы и ужь диувэу гъащIэр щIэрыщIэу къыщIэддзэжынымкIэ.

 

КъыкIэлъыкIуэну хъыбарыр теухуащ Паул щIыпIэ куэд зэрызэхикIухьамрэ абы и IуэхущIафэхэмрэ.

 
 

  

ПАУЛРЭ АБЫ И НЫБЖЬЭГЪУХЭМРЭ

Паул Щам щыкIуэм щыгъуэ, Хьисэ тепсэлъыхь дэтхэнэри къиубыду лъэхъуэ-щым иридзэну хьэзырт. Ауэ абы кIуэуэ гъуэгу здытетым, Тхьэм къигъэувыIэри абы къепсэлъащ. Iуэхур зэриухын хуейрати, ХъыбарыфIыр цIыхухэм яхуиIуатэу, ялъигъэIэсу езыр ежьэжащ.

Щам дэс чыристанхэм ар зэрагъэщIэгъуэнур ящIэртэкъым.

 

„Паул дыдейщ иджы! - жаIэурэ гуфIэрт ахэр. - Абы щхьэкIэ дигъэтIысыным и пIэкIэ, иджы езым Хьисэ и хъыбар цIыхухэр ирегъэдаIуэ“.

„Дауэ апхуэдэу зихъуэжынкIэ хъуа? - жаIэурэ ягъэщIагъуэрт нэхъапэхэм Паул и ныбжьэгъуу щытахэм. - Хьисэ лIахэм къазэрыхэтэджыкIыжам теухуа хъыбарыр цIыхум яхимыхьэ щIыкIэ, укIын хуейщ ар“.

 

Паул къызэрещэр къащIэри, Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэм ар ягъэпщкIуащ икIи жэщ кIыфIу ирырагъэхьэлIэри, ар Щам къыдагъэкIуэсыкIыжащ. Матэшхуэм ирагъэтIысхьэри, ар кIапсэкIэ къыщхьэдахьэхыжащ къалэ блыным.

 

Хьисэ фIэщхъуныгъэ хузиIэхэм Антиохие къалэм дэсхэм ХъыбарыфIыр хуа-Iуатэрт. Я тхьэкIумэ тегъэхуауэ цIыхухэр щIэдэIурт абыхэм жаIэм.

„Дэри Тхьэм нэгъуэщI цIыху дыхуэщIыну?“ щIэупщIэрт ахэр.

 

КIуэ пэтми цIыху нэхъыбэм фIэщхъуныгъэ хуаIэ хъурт Мэссихь. Антиохие къалэм дэсхэр нэгъуэщIыцIэкIэ еджэу щIадзащ Хьисэ фIэщхъуныгъэ хузиIэу абы и гъуэгум теувахэм - чыристанкIэ.

 

Антиохие къыщежьа IуэхущIэм теухуа хъыбарыр Ерусалим щIэхыу нэсащ. ВарнавэкIэ еджэу лIы гуэрым мурад ищIащ щIэуэ къэунэхуа члисэ зэIущIэм зыщIигъэкъуэну. Ар Паул елъэIуащ, ХъыбарыфIыр цIыхум яхуиIуэтэн щхьэкIэ, щIыгъуу Антиохие кIуэну. ФIэщхъуныгъэ зиIэ хъуахэм ялъагъуат, Мэссихь цIыхухэм зыщыхуагъазэм деж, Тхьэм дэтхэнэми къалэн пыухыкIа къызэрыритыр.   Языныкъуэхэм сымаджэхэр зэрагъэхъужын зэфIэкI къахилъхьэрт, адрейхэм Хьисэ и хъыбарыфI цIыхухэм лъагъэIэсыну ялъигъэкIырт, ещанэхэр цIыху тхьэмыщ-кIэхэм, гуауэ зиIэхэм щыжакIуэрэ 6ампIэдэхрэ яхуищIырт. Зыкъом дэкIа нэужь, Антиохием щыпсэу чыристанхэм къагурыIуащ Тхьэм Варнавэрэ Паулрэ къалэн хэха я пщэ зэрырилъхьар, абы къыхэкIыуи зыкIи къагъэувыIакъым. Абыхэм ягъэзэщIэну къапэщылът мы Iуэхур:

зы къалэм дэкIмэ, адрейм дыхьэу, Хьисэ Мэссихь теухуа ХъыбарыфIыр цIыхухэм хуаIуэтэну.

Паулрэ Варнавэрэ Листрэ къалэм нэсарэ уэрамым дэту ХъыбарыфIыр цIыхуу хъуам хуаIуатэрт. Абыхэм яхэтт къызэралъхурэ и лъакъуэр къыщIэмыувэу зы ныкъуэдыкъуэ гуэр.

Абы хьэкъ щыхъуат Паул жиIэу хъуар. Паул ищIэрт а ныкъуэдыкъуэр игъэ-хъужыну Тхьэр зэрыхуейр.

 

„Тэдж!“ - жиIащ Паул.

ЛIыр къэтэджри, адэкIэ-мыдэкIэ къикIукI-никIукIыу щIидзащ. Ар хъужакIэт!

А Iуэхушхуэ телъыджэр зылъэгъуа цIыхухэм къащыхъуащ Паулрэ Варна-вэрэ езыхэм я къарукIэ а ныкъуэдыкъуэр ягъэхъужауэ. „Ахэр цIыху теплъэ зиIэу уэгум къеха тхьэхэщ!“ - жаIэурэ зэрыгъэкIийрт цIыхухэр.

 

„Хьэуэ, хьэуэ! Фыщоуэ фэ! - яхуидэртэкъым абыхэм Паул. - Фэ фхуэдэу дыцIыху къызэрыгуэкIщ дэри. Дэ фэ дыкъыфхуэкIуащ, мы ди дунейр зыухуа Тхьэм къыбгъэдэкI хъыбарыфI къыфхуэтхьри. Абы и къарукIэщ дэ мы щIакъуэр зэрыдгъэхъужар. ФIэщхъуныгъэ хувиIэн хуей къудейуэ аращ Абы фэ.“

 

ЩIыпIэ куэд къызэхакIухьа нэужь, Паулрэ Варнавэрэ Ерусалим къагъэзэжащ. Адрей апостолхэр тепыIэжтэкъым абыхэм япкърыупщIыхьыну, а мурадыр яIэуи ахэр къызэхуэсащ.

„Нэхъапэм щыгъуэ дэ къытщыхъурт ХъыбарыфIыр зылъэдгъэIэс хъунур Тхьэм къыхиха лъэпкъым - журтхэм - я закъуэу, - жиIащ Симон Петр, - ауэ, къызэрыщIэкIымкIэ, Тхьэр хуейщ цIыху псоми ХъыбарыфIыр зэхахыну. Пэжкъэ, Паул?“

 

Апостолхэм я пащхьэ иувэри, Паулрэ Варнавэрэ къаIуэтэжащ ахэр къигъэ-сэбэпурэ Тхьэм илэжьа Iуэхугъуэхэр. Абыхэм цIыхухэм жраIэжащ Тхьэм сымаджэ-хэр зэригъэхъужар, езым и Псэ ЛъапIэр ягу кърилъхьэурэ, цIыхухэм я гурылъхэр зэрихъуэжар.

 

„Тхьэм ар хэт щхьэкIи дэнэ щIыпIи щелэжь, - жиIащ Паул, - сыту жыпIэмэ дэ дощIэ: Ар хуейщ, журтхэм я мызакъуэу, дунейм цIыхуу тетым Хъыбары-фIыр зэхахыну". Абы жиIэм апостол псори арэзы техъуащ.

 

ХъыбарыфIыр цIыхухэм ялъигъэIэсыну гъуэгуанэщIэ теуващ аргуэру Паул. Мы зэм абы зыщIигъуащ СилэкIэ зэджэ и ныбжьэгъу гуэр. ЩIыгум тетуи кIуаи, тенджызым тетуи кIуаи, - сытми, ауэрэ, Филиппи зи цIэ къалэм нэсащ. Псом япэрауэ, ахэр кIуащ цIыхухэр щызэIущIэу икIи тхьэлъэIу щащIу псы Iуфэм щыIэ щIыпIэм. Мис абдежым Паул цIыхухэм яхуиIуатэу щIидзащ гуэныхьхэр Тхьэм зэрыпщхьэщихыфынури уи гъащIэ гъуэгуанэр пхъуэ-жынымкIэ къызэрыбдэIэпыкъунури.

 

Языныкъуэхэм я фIэщ хъуащ Паулрэ Силэрэ жаIэр, ауэ зымыдахэри яхэтт. ИкIэмикIэжым, куэдрэ зэдэуа нэужь, Паулрэ Силэрэ къалэ лъэхъуэщым яшащ. ЗэкIуэцIапхэщ, щIадзэхэри, бжэр ягъэбыдэжащ.

 

ГъущI IэхъулъэхъукIэ зэкIуэцIапхауэ, Паулрэ Силэрэ лъэхъуэщым ист. Ауэ тхьэусыхэртэкъым ахэр, тхьэусыхэным и пIэкIэ, Тхьэм фIыщIэ хуащIырт. Абыхэм уэрэд жаIэрт Тхьэм и фIылъагъуныгъэмрэ и лъэкIыныгъэшхуэмрэ теухуауэ. ХужаIэрт Хьисэ ажалым текIуэу ар лIахэм къазэрыхэтэджыкIыжам.

 

А уэрэдыр здыжаIэм, лъэхъуэщым и блынхэр зэщIэсысэри къызэщIэчащ. ЩIыр хъейуэ арат.

ЛIитIым ярылъ Iэхъулъэхъухэри бжэр зэрыгъэбыда гъущI 6жэIулъэхэри а зы напIэзыпIэм щIым ехуэхащ.

 

Лъэхъуэщ хъумакIуэхэм я Iэтащхьэр шынауэ къыщIэлъэдащ: гъэрхэр щIэпхъуэжауэ къыфIэщIри, къращIэнкIэ хъунум щыщтауэ, езым зиукIыжыну арат. АрщхьэкIэ, гъэщIэгъуэныратэкъэ, - абы зэхихащ Паул и макъ:

„Дэ дымис!“

„Ар фи Тхьэм и IэужьщI - и гур пыIэжауэ къыхэкIиикIащ хъумакIуэр.Аращ фэ хуит фызыщIыжар. Сэри сыхуейщ сщIар къысхуигъэгъуу ар си Тхьэ хъуну".

Ар и щIыкIэу, лъэхъуэщ хъумакIуэхэм я Iэтащхьэри абы и унагъуэм ису хъуари а зы жэщым къриубыдэу Хьисэ и гъуэгу теуващ.

 

Нэху зэрыщу, гъэрхэр къаутIыпщыжащ. Паул гуфIэрт: абы ищIэрт ХъыбарыфIыр абы иджыри куэдым зэрахуиIуэтэнур. Хьисэ Мэссихь теухуа ХъыбарыфIыр цIыхухэм яхуиIуэтэну Iэмал игъуэту абы зэи къигъэнакъым.

 

«Паулрэ абы и ныбжьэгъухэмрэ» хъыбарыр фэ къыщывгъуэтынщ «Апостолхэм ялэжьа Iуэхухэр» тхылъым. Паул Хьисэ и гъуэгу щытехьам щыгъуэ, Тхьэм абы къыгуригъэIуащ Мэссихь щхьэкIэ куэд зэришэчынур. Ауэ Паул а зытеува гъуэгум зэи текIакъым: цIыхуу мы дунейм тетми абыхэм ящыщ дэтхэнэми ХъыбарыфIыр ялъигъэIэсыныр и къалэну илъытэжырт абы. Абы гугъуехь щрагъэшэч щIыпIэхэми Iэмал имыIэу къыщыкъуэкIырт абы жиIэхэм щIэдэIуну зыфIэфI цIыхухэр. Зы махуэм нэхърэ къыкIэлъы-кIуэм нэхъыбэ хъурт Мэссихь и гъуэгум теувэхэр. Паул и тхылъхэр зыхуэгъэзар члисэ зэIущIэ щхьэхуэхэрщ, ауэ абыхэм апхуэдизкIэ мыхьэнэшхуэ яIэщи, Инджылым и Iыхьэ щанэм нэхърэ нэхъыбэр яубыд.

 

„Паул лъэхъуэщым зэрисар“ хъыбарыр зытеухуар а тхылъхэр щитхым щыгъуэ Паул и Iуэху зытетамрэ Урым щыкIуэм зэрыса кхъухьыр хы борэным зэрикъутамрэщ.  

  

ПАУЛ ЛЪЭХЪУЭЩЫМ ЗЭРИСАР

Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэр хуабжьу игъэпIейтеят къэхъуам. Гу ихакIэ Хъыбары-фIыр цIыхухэм ялъэзыгъэIэс апостол Паул ягъэтIысат. Дауэрэ ящIми, абы и бийхэм къехъулIащ ар къаубыдын, лъэхъуэщым ирадзауи ист.

 

Ауэ зыми къыхуэгъэувыIэртэкъым Паул: абы Хьисэ теухуа ХъыбарыфIыр яжриIэрт лъэхъуэщ хъумакIуэхэми, урым кесарым къигъэкIуа Iэтащхьэхэми, езы кесар дыдэми.

„Хабзэм къемызэгъ лъэпкъ злэжьакъым сэ, - жиIэрт трикъузэу Паул - Сэ сытепсэлъыхьу аркъудейщ Хьисэ, мис а яукIыу иужькIэ лIахэм къахэтэджыкIыжам“.

„Ар зыхуэгъэзари зыжеIэн хуейри уи лъэпкъым, журтхэм, я закъуэщ, - жиIащ урым кесарым къигъэкIуа Iэтащхьэм. - Ауэ щыхъукIэ, Ерусалим удгъэкIуэжынщи, зэфIэкIащ".

„Сэ сыжурт къудейкъым, урым къэралыгъуэшхуэми срицIыхущ, ауэ щыхъукIэ, кесарым фIэкIа, зыри хуиткъым хьэкум къыстрищIыхьыну".

 

„Хъунщ-тIэ, апхуэдэу щыщыткIэ, Урым удгъэкIуэнщ", - жиIащ Iэтащхьэм, абыкIэ арэзы хъуауэ.

НэгъуэщI гъэрхэм яхэту Паул кхъухьым ирагъэтIысхьэри, Урым яшэну ежьащ. Паул гуфIэрт и ныбжьэгъу Лука зэрыщIыгъум щхьэкIэ. ТемыплъэкъукIыу, гъэрхэр зауэлIхэм яхъумэрт. Апхуэдэурэ тхьэмахуэ зыбжанэкIэ кIуауэ, тенджызым борэн ин дыдэ къыщхьэщыхьащ.

Хысыдж домбейхэм кхъухьыр адэкIэ-мыдэкIэ зэрадзэрт, и кIуэцIым псыр къиуэрт, дридзейрт, къридзыхырт. Псори гужьеят - зауэлIхэри гъэрхэри. „Псоми кIуэдыр къытхуокIуэ!“ - зэрыгъэкIийрт ахэр, гугъапIэ лъэпкъ ямыIэжу.

 

Ауэ Паул ищIэрт абыхэм ящыщу зыри зэрыхэмыкIуэдэнур. Тхьэм абы зыхригъэщIакIэт и гъусэ псори борэным къызэрелынур. Паул ягу фIы яхуищIырт и гъусэхэм, Тхьэм щхьэузыхь зыхуащIу зы щхьэкIи мышынэну яжриIэрт. ИкIэм-икIэжым, нэхущхэм деж абыхэм къалъэгъуащ хытIыгу гуэрым гъунэгъу зэрыхуэхъур.

 

Абы хэту къэIуащ тхьэкIумэIупсыр Iуиуду макъышхуэ... Кхъухьыр псыте-пхъэм нэсри, мывэхэм жьэхэуауэ арат. Хысыдж домбейхэр къытеукIуриеурэ кхъухьыр цIыкIуцIыкIуу зэхикъутэу щIидзащ. ЦIыхухэм, псы щIыIэм хэлъэм, кхъухь къутахуэхэм зыкIэращIэурэ, къащымыIIауэ я псэр хы Iуфэм нахьэсащ.

 

Зыр зым дэIэпыкъужурэ псым къыхэпщри, псыфыбзэрэ зэщIэкIэзызэу ахэр хытIыгум техьащ.

ПсынщIэу чыщч зыкъом къызэщIащыпэри мафIэ ящIащ абыхэм. ХытIыгум щыпсэу цIыхухэри абыхэм къадэIэпыкъурт. Мо цIыху еша-елIахэр, зэхэукIахэр мафIэм бгъэдэст зрагъэурэ загъэгъущыжу.

 

Паул чыщч IэплIэ къихьащ, мафIэм трилъхьэну. Абы гу лъитакъым а чыщчхэм блэ шынагъуэ зэрыхэсым... Псори зэуэ я пIэм ижыхьащ, сыту жыпIэмэ абыхэм къащыхъуат блэр Паул къеуарэ иджыпсту къытехуэу лIэну. АрщхьэкIэ Паул, зыкIи къыхэмыщтрэ Iэдэбу, мо блэ зыкъезыдзар мафIэм хэхуэу зыкIэригъэхужащ. Тхьэм къихъумэрт Паул, мыпхуэдэ псэзэпылъхьэпIэ дапщэми къриша Абы ар!

 

ЩIымахуэр 6лэкIат, гъуэгуанэм утехьэж хъунут. Арати, гъэрхэр нэгъуэщI кхъухь ирагъэтIысхьэри ирашэжьащ. Дунейр уэфIт, кхъухьыр хуабжьыфIу зыгъакIуэ жьыбгъэ къепщэрти, Урым хъарзынэу нэсахэщ.

 

Урым дэст Хьисэ и гугъу зэхэзыха гуэрхэри. Паул Урым къызэрашэр щызэхахым, ахэр гуфIэжу къыпежьащ абы.

 

Паул гуфIащ Урыми абы ныбжьэгъухэр - Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэр – зэрыщигъуэтам щхьэкIэ.

ЗауэлIхэм языхэзым Паул ишащ ар щыпсэун хуей унэм.

„Уэ зыри 6укIакъым, къэбдыгъуакъым, ауэ щыхъукIэ лъэхъуэщым ущIисын лъэпкъ щыIэкъым, мис мы унэм щIэс. Уэ уахъумэнущ, ущIэкIи хъунукъым, ауэ уи ныбжьэгъухэр къыпкIэлъыкIуэнумэ, япэдубыдынукъым“

 

Арати, Хьисэ теухуауэ Паул къиIуэтэжхэм едэIуэну хуейуэ хъуар абы и унэм къыщызэхуэсу щIадзащ. Ар фIэфIыпсу тепсэлъхьырт Хьиси Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэми.

Паул зэман куэд тригъэкIуадэрт тхэным. ЯгъэтIысын и пэ къалэ куэдым цIыхухэм Тхьэм и псалъэхэр щалъигъэIэсат, абы къыхэкIыуи ныбжьэгъу куэд иIэт. Абыхэм къахуэщIэртэкъым Паул апхуэдэу зэуэ щIэбзэхар. Хьисэ Мэссихь теухуауэ зыкъомым мащIэ дыдэт ящIэр, абы къыхэкIыуи Паул тхыгъэ кIыхьхэр яхуитхын хуей хъурт. Паул абыхэм ягу щIэмычэу къигъэкIыжырт Хьисэ щIэлIар цIыхухэм ятелъ гуэныхьыр ящхьэщихын щхьэкIэу зэрыщытар, ар лIахэм къазэрыхэтэджыкIыжар. Абы фIэщхъуныгъэ хузиIэ дэтхэнэми Тхьэшхуэм гъащIэщIэ ирет. Хьисэ и гъуэгу теувахэм Паул сытым дежи яжриIэу щытащ абыхэм я гъащIэщIэр гъащIэжьым емыщхьу щытын зэрыхуейр.

 

Паул итх тхылъхэр и ныбжьэгъухэм къаритти, модрейхэм хэт лъэсу, хэт кхъухькIэ, хэти шыдкIэ зэбграхырт. Паул зыхуэтхэхэм апхуэдизкIэ жыжьэ щыIэ къахэкIырти, абыхэм я деж нэсын щхьэкIэ, куэд дыдэрэ гъуэгу щытет щыIэт.

 

Паул къахуитххэр къазэрыIэрыхьэу, фIэщхъуныгъэ зиIэхэр гуп-гупурэ зэхуэсырти, къытрагъэзэжурэ щIаджыкIырт. Абыхэм ящIэну хуейт Мэссихь я псэм щыщ хъуауэ къагъэщIэну гъащIэщIэм теухуауэ псори.

 

ФIэщхъуныгъэ зиIэхэм хуабжьу ягъэлъапIэрт Паул къахуитххэр, хуэсакъыпэу яхъумэрт. Абыхэм я фIыгъэкIэ, Паул и тхыгъэ куэд хъума хъури Библием хыхьауэ ноби дыкъыщоджэ. Абыхэм яхэтщ Урым кIуэн и пэ къихуэу Паул урымдэсхэм яхуигъэхьа тхылъыр.

 

Абы къыкIэлъокIуэ Коринф, Фессалоникэ къалэхэм, Галатие хэкум, Ефес, Филиппи, Колоссэ къалэхэм щыпсэууэ  фIэщхъуныгъэ зиIэхэм яхуигъэхьа тхылъ-хэр. Абыхэм нэмыщI, Библием итщ Паул и ныбжьэгъухэм яхуигъэхьа тхылъхэри: Тимофей, Тит, Филимон сымэ.

Хьисэ и гъуэгум тетрэ и пэкIэ плъэуэ псэуащ Паул дунейм тетыху - абы и нэгум щIэтт лIа нэужь, Мэссихь и пащхьэм ихьэжу, Абы и нэгум зэриплъэжынур. Хьисэ Мэссихь и ХъыбарыфIыр цIыхухэм зэралъигъэIэсам къыхэкIкIэ, Паул яубыдри, Урым къалэм щаукIащ.

Илъэс минитI мэхъури, а ХъыбарыфI дыдэм щIодэIу мы дунеишхуэм тет цIыхухэр. Ноби макIуэ ар и пэкIэ.

 

Апостол Паул и гъащIэмрэ ар Урым зэрыкIуа, зэрыщыIа щIыкIэмрэ теухуа хъыбархэр итщ «Апостолхэм ялэжьа Iуэхухэр» тхылъым и 25-нэ псалъащхьэм къыщыщIэдзауэ 28нэр къыхиубыдэу. Урымдэсхэм яхуитха тхылъым къыщы-щIэдзарэ Филимон хуитха тхылъыр къыхиубыдэу тхылъ пщыкIущ мэхъури, а псори зи Iэужьыр Паулщ. Ахэр щыхьэт тохъуэ лъахэ куэдым къыщыунэхуауэ щыта члисэ зэIущIэхэм Паул лъагъуныгъэшхуэ яхуиIэу и нэIи ятет зэпыту зэрыщытам. Нэхъ иужьыIуэкIэ итха тхылъхэм ящыщ зым (Тимофей хуитха етIуанэ тхылъым) Паул Мэссихь хуэлажьэурэ къипсэуа гъащIэмрэ и IуэхущIафэхэмрэ къыщепщытэж. Абы лIэныгъэм зыхуигъэхьэзырт. „ХъыбарыфIым фIыуэ сыхущIэкъуащ, - етх абы, - къэзжынур къэзжащ, фIэщхъуныгъэр схъумащ“. ГъащIэм нэхърэ лIэныгъэр нэхъ къищтэрт абы, сыту жыпIэмэ лIа нэужь, Мэссихь IущIэнут. IущIэнурэ, „пэжыгъэм и тажыр“ къыщхьэритIэгъэнут. ЦIыхуу дунейм тетым хьэкум ятрищIыхьэну Хьисэ уафэм къыщехыну къемэт махуэм деж, а тажыр Хьисэ ящхьэритIэгъэнущ езым и гъуэгум ирикIуа псоми.

 

Фэ щIэвджыкIащ нэхъ цIыкIу дыдэхэм папщIэ Библием къитхыжа хъыбархэр щызэхуэхьэса етхуанэ тхылъыр. Дыщогугъ а хъыбархэм фыкъеджэурэ ди Зиусхьэным и нэфI къыфщыхуауэ ди КъегъэлакIуэ Хьисэ Мэссихь нэхъыфIу фагъэцIыхуауэ фIыуи фагъэлъэгъуауэ. Ар апхуэдэу щытмэ, мы тхылъхэр къыдэдгъэкIыныр игъуэу зылъыта ди Тхьэм фIыщIэшхуэ худощI.

 

 

Мы тхылъым ехьэлIауэ гу зылъытапхъэхэр къытхуэфтхмэ, ди гуапэ хъунт. Фыкъатхэ мыпхуэдэ адресымкIэ:  Licht im Osten, Postfach 1340, 70809  Korntal, Germany.