Библие Хъыбархэр 4

  

 ЩIАЛЭЦIЫКIУМ ЗЭРЕДЖЭР ИУАНТ

  

Израилым Зэчрей жаIэри зы лIы хэкIуэта гуэр щыпсэурт, и фыз Елизаветэ щIыгъуу.

Зэчрей псоми яцIыхурт, сыту жыпIэмэ ар Тхьэм и унэшхуэм дин пашэу щылажьэрт.

Зэчрейрэ Елизаветэрэ куэдрэ зэпсэлъылIэрт Тхьэм теухуауэ.

 

„Сэ хуабжьу фIыуэ солъагъу езы Тхьэ дыдэр цIыхухэм, псалъэм папщIэ, Израилым и лъэпкъ тхьэмадэ Мусэ е пащтыхь Шаул сымэ, епсалъэу зыхэт хъыбархэр, - жиIэрт Зэчрей. - Сэ хуабжьу сыщIохъуэпс абы и макъыр зэхэсхыну".

 

„Сэ нэхъ сыдэзыхьэхыр Тхьэм Сарэрэ Ханнэрэ я нэгу щIигъэкIа Iуэхушхуэ телъыджэхэм теухуа хъыбарыжьхэрщ, - къыпидзыжащ абы Елизаветэ. - Сыту сыгуфIэнут сэ Абы сабий къызитатэмэ!“

 

Зэчрейрэ Елизаветэрэ хэкIуэтат, быни яIэтэкъым.

 

Зэгуэрым Зэчрей Тхьэм зэрелъэIунум хуабжьу зыщыхуигъэхьэзырырт. Дин пашэ псоми ящыщу арат зыхуагъэфэщар Тхьэм и унэшхуэм Абы щыхуэлэжьэну.

 

Израил псом я цIэкIэ Зэчрей Тхьэм и унэшхуэм Тхьэм щелъэIун хуейт. МыдэкIэ, пщIантIэм, абы пэплъэ Елизаветэрэ цIыхубэмрэ Тхьэм щелъэIунут.

 

ЦIыхубэр дыгъэвэхым хэту къанэри, езы Зэчрей Тхьэм и унэшхуэ щIыIэтыIэм щIыхьащ.

Абы зэуэ къилъэгъуащ нур пакIэ. Зэчрей къэшынащ: абы и закъуэт Тхьэм и унэшхуэм щIэтыр. Сыт къэхъуар?

 

Абы ирихьэлIэу Тхьэм къигъэкIуа мелыIычыр дин пашэ хэкIуэтам къепсалъэу щIидзащ: „Умышынэ, Зэчрей, Тхьэр, япэми хуэдэу, цIыхухэм иджыри йопсалъэ Iуэхушхуэ телъыджэхэр зэрилэжьын къаруушхуи иIэщ! Елизаветэрэ уэрэ къуэ вгъуэтынущ. Иуан фIэфщ абы“.

„ЦIыху къызэрыгуэкIхэм емыщхьу къэхъунущ Иуан. Абы цIыхубэр хуигъэхьэзырынущ Тхьэм и Къуэм зэрыIущIэнум“, - жиIэри къыпищащ мелыIычым.

„Апхуэдэ къэхъункIэ хъунукъым, - жэуап къитащ Зэчрей, - дэ дыхэкIуэтэIуащ бын диIэнкIэ!“

„Тхьэм сытри зэрылъэкIыр умыщIэу ара уэ? - къеупщIащ абы мелыIычыр. - Абы шэч къызэрытепхьам и тезыру бзагуэ ухъунурэ, а сабийр дунейм къытехьэхукIэ апхуэдэу ущытынущ. Мис итIанэ хьэкъ пщыхъунщ а сэ жысIэр зэрыпэжыр“.

ЦIыхубэм ягъэщIагъуэрт Зэчрей Тхьэм и унэшхуэм апхуэдизрэ къызэрыщIэмыкIыжыр. КъыщIэкIыжа нэужь, псоми къагурыIуащ Тхьэм и унэшхуэм зыгуэр къызэрыщыхъуар, сыту жипIэмэ Зэчрей псэлъэжыфыртэкъым.

 

Унэм къагъэзэжа нэужь, Iуэхур зытетыр и фызым къригъэщIэн щхьэкIэ, Зэчрей псори итхащ. И лIым нэхърэ нэхъ мащIэу игъэщIэгъуакъым Елизаветэ а къищIар. Абы тIури хуабжьу ирипIейтейрт икIи тхьэмахуэ зэхуакухэр къабжырт, сабийр дунейм къыщытехьэнур къахуэмыгъэсу.

 

Елизаветэ деж зэгуэрым къэкIуащ абы и адэ къуэшым ипхъу Мэрием. Мэриеми бын игъуэтын хуейуэ щытт.

 

Зэшыпхъухэр хуабжьу зэщыгуфIыкIащ, куэд щIауэ зэрылъэгъуатэкъыми. Елизаветэ зэуэ Мэрием жриIащ Тхьэм и унэшхуэм щIэту Зэчрей мелыIыч къызэрыхуэкIуар.

„Сэри къысхуэкIуащ мелыIыч“, - жиIэри жэуап къритыжащ абы Мэрием. ТIуми хуабжьу ягъэщIэгъуащ Тхьэр а цIыху къызэрыгуэкI дыдэхэм апхуэдэ къуэ телъыджэхэмкIэ къазэрыхуэупсэр. ТIэкIурэ абы щыхьэщIа нэужь, Мэрием илI Исуф деж унэм игъэзэжащ.

Арати, икIэм-икIэжым апхуэдизу ахэр зыпэплъа махуэр къэсащ: Елизаветэ къуэ игъуэтащ! Ар сабий телъыджэт! Iыхьлыхэмрэ ныбжьэгъухэмрэ къэкIуащ сабийм еплъыну.

„Зэчрей щхьэ фIэвмыщрэ?“ - жаIэурэ зэупщIыжырт ахэр.

„Хьэуэ, абы и цIэр Зэчрейкъым, Иуанщ",  - къаритыжащ жэуап Елизаветэ абыхэм. „Ар сыт гъэщIэгъуэн а жыпIэр, - ядакъым хьэщIэхэм, - щыпэлъху къуэм адэм и цIэр фIащыж хабзэщ".

Псори къеджэн хуэдэу, Зэчрей абыхэм пхъэбгъум къахутритхащ: „Абы и цIэр Иуанщ“.

Ар зэрытритхэу, мелыIычым и жьэмкIэ Тхьэм къызэригъэгугъар зэщIащ: Зэчрей и бзэр къиутIыпщыжащ.

 

Зэчрей иригуфIэрт Тхьэм и унэшхуэм къыщыхъуауэ щытар иджы и жьэкIэ зэриIуэтэжыфынум.

 

ЗэрагъэщIэгъуэнур ямыщIэу псори сабийм еплъырт.

„Сыту сабий дахащэ! - жаIэрт зылъагъуу хъуам. - Ар ин хъуа нэужь, Тхьэм къалэн хэха хуигъэзэщIэну къыпоплъэ!“

 

„ЩIалэ цIыкIум зэреджэр Иуант" хъыбарыр Лука ХъыбарыфIыр къы-зэрыжиIам и япэ псалъащхьэм къыхэтхащ. Иуан къэхъуным куэд иIэу, Тхьэм и бегъымбархэм я жьэкIэ цIыхухэм къажриIащ КъегъэлакIуэр къазэрыхуигъэкIуэнур. Ауэ ар къигъэкIуэн ипэ цIыхухэр абы хуэгъэхьэзырын хуейт. Арати, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр къызэрыблэгъамкIэ хъыбар къаригъэщIэну, Зиусхьэныр къэкIуэн и пэ я гуэныхьхэм хущIегъуэжын зэрыхуейр цIыхухэм яжриIэну Тхьэм Иуан къигъэкIуащ. Иуан къэхъун и пи наIуэт ар цIыху къызэрыгуэкIхэм къащхьэщыкIрэ куэдкIэ нэхъ гъэщIэгъуэну зэрыщытынур.

 

КъыкIэлъыкIуэ хъыбарыртеухуащ цIыху цIыкIухэм ятхыдэм нэхъ мыхьэнэшхуэ дыдэ щызиIэ Iуэхугъуэм: Хьисэ Мэссихь къызэралъхуам.   

  

ХЬИСЭ КЪЫЗЭРАЛЪХУАР

Ижь-ижьыж зэману Хьисэ къалъхуным и пэкIэ Назарет къалэ цIыкIум щыпсэуащ МэриемкIэ еджэу хъыджыбз дахэ гуэр.

 

Зэгуэрым, унагъуэ Iуэху ищIэу здэщытым, Мэрием зыщIэт пэшыр нэхугъэ гуэрым къызэщIигъэблащ. А нэхум хэту Мэрием къилъэгъуащ Тхьэм и лIыкIуэ мелыIычыр. Мэрием хуабжьу къэшынащ.

„Умышынэ, Мэрием, - къыжриIащ абы мелыIычым - сэ уэ хъыбарыфI къы-пхуэсхьащ. Уэ къуэ бгъуэтынущ куэд дэмыкIыу".

„Дауэ зэрызгъуэтынур, - сэ лIы сиIэкъым!“ - игъэщIэгъуащ хъыджэбзым.

„Ар езы Тхьэ дыдэм и Къуэу щытынущ, - жиIащ мелыIычым - абы уэ фIэпщынущ Хьисэ".

„Тхьэм фIэзахуэ псори згъэзэщIэну сэ сыхьэзырщ", - жэуап къитащ Мэрием, а зы напIэзыпIэми мелыIычыр бзэхыжащ.

 

Назарет ИсуфкIэ еджэу зыгуэр дэст. Абы Мэрием фIыуэ илъагъурт, ар  къишэнуи и мурадт. Здэжейм, мелыIыч къыхуэкIуэри, абы мыпхуэдэу къыжриIащ:

„Сэ мы хъыбарыр бжесIэну сыкъэкIуащ: Мэрием сабий поплъэ. Ар Тхьэм и Къуэщ.

Абы уэ Хьисэ фIэпщынущ. Ар хъунущ дунейм и КъегъэлакIуэ“.

 

Мэриемрэ Исуфрэ къахуэмыгъэсу я хьэгъуэлIыгъуэм пэплъэрт, сыту жыпIэмэ ахэр хуабжьу фIыуэ зэрылъагъурт. Куэдрэ тепсэлъыхьырт ахэр сабий телъыджэм теухуауэ мелыIычым къажриIам.

„Я фIэщ хъуну пIэрэ цIыхухэм, Хьисэ цIыхухэм я КъегъэлакIуэщ, жытIэмэ?“ - жиIэрт Мэрием.

„Умыгузавэ абы щхьэкIэ, зыгуэрхэми я фIэщ хъунщ, - жиIэрт Исуф. - Тхьэм цIыхухэр къигъэгугъакъэ КъегъэлакIуэ къахуигъэкIуэну. Ауэ щыхъукIэ, дэ къытхуэнэжыр дыкъызэригъэгугъар Тхьэм зэригъэпэжым дригуфIэнырщ".

Арати, Исуфрэ Мэриемрэ пэплъэрт Хьисэ дунейм къытехьэнум. Сабийр зыхуеину псори абыхэм ягъэхьэзырт, апхуэдизкIэ хуэпIащIэрти, зэманыр куэдкIэ нэхъ кIыхь хъуауэ къащыхъурт.

 

Абыхэм зэгуэрым зэхахащ кесар императорым унафэщIэ къыдигъэкIауэ: „Къэралым щыпсэу дэтхэнэ цIыхуми и къалэнщ и лIакъуэр къыщежьэ къалэм екIуэлIэжу абы я щыхьэт тхылъым зырыригъэтхэну. ЖриIащ Исуф Мэрием. - Аращи, дэри Бэтлэхьэм дыкIуэн хуейуэ къытпэщылъщ".

„Лъхугъэр зэфIэкIыхукIэ си унэ сисыжамэ, дауи, нэхъыфIт, ауэ Тхьэм и бегъымбархэр къигъэсэбэпурэ хъыбар къыдигъэщIащ дунейм и КъегъэлакIуэр Бэтлэхьэм къыщалъхун хуейуэ“, - жиIэрт Мэрием, я шыд цIыкIур я пэ иту лъагъуэ нашэкъашэм здрикIуэм. „Сыту хуабжьу сеша, - хуэтхьэусыхэрт ар Исуф, - сытуи жыжьэ дыздэкIуэнур“.

Еша-елIахэу къалэм щынэсам, абы зэрыхьзэриишхуэ щыIэт. Щыхьэт тхылъым зрырагъэтхэн щхьэкIэ Бэтлэхьэм апхуэдиз къыщызэхуэсати, хьэщIэщми щIэхуэжтэкъым. Исуф сымэ зыгуэрым хэщIапIэ яхуищIащ я Iуэщыр.

 

Исуф дэIэпыкъуурэ, Мэрием шыдым къепсыхри Iуэщым ихьахэщ. Хьэуазэ игъэтIылъурэ Мэрием гъуэлъыпIэ игъэхьэзырри, и плIэидзэ Iувыр трипхъуэжащ. Абы ищIэрт и сабийр куэд мыщIэу дунейм къызэрытехьэнур.

 

Сабийр къызэрыхъуу, Мэрием ар гущэ хъыданым быдэу кIуэцIишыхьри, мэкъу дэзузыдэлъ шхалъэм дилъхьащ.

„Абы и цIэр Хьисэщ, - жаIэрт Исуфрэ Мэриемрэ, - ар Тхьэм и Къуэ Закъуэрщ".

Iэщхэр щыхьэту щытащ ар дунейм къыщытехьэм. Абыхэм я Iубахъэм къигъэхуавэрт Iуэщ Iэзэблъэзэвыр.

 

АтIэми цIыхухэм псэхупIэ къратакъым абыхэм. Бжэр кIыргъыурэ бжэр къызэIукIри, Iуэщым къихьащ Iэщыхъуэхэр.

„Мыбы щыIэн хуейщ а сабийр, дыIуплъэ хъуну пIэрэ абы?“ - щэныфIэу къеупщIащ ахэр.

„ЛIо щIэмыхъунур, - жиIащ Исуф, - ауэ дэнэ фэ а сабийм и хъыбар щызэхэфхар?“

„Дэ мэл дгъэхъуу губгъуэм дитт, - къатащ жэуап Iэщыхъуэхэм. – Дыздитым, зэуэ уафэр зэгуэзщ, нурыр къыдидзри, а нурым хэту мелыIычхэр къэтлъэгъуащ. МелыIычхэм дэ къыджаIащ а сабийр мыбдеж къызэрыщалъ-хуар. Ар балигъ хъуа нэужь, дэ псоми КъегъэлакIуэ тхуэхъунущ. Мис аращ дэ ар зэдгъэлъагъуну, щхьэщи хуэтщIыну дыкъыщIэкIуар“.

 

Iэщыхъуэхэм иужькIэ ягъэзэжащ я хъушэхэм деж, здэкIуэжым, я нэгу щIэкIа псори къахуэзэу хъуам хуаIуэтащ.

 

Мэриемрэ Исуфрэ къанэри, Бэтлэхьэм зыкъомрэ щыIащ.

 

Зэгуэрым бжэм къытеуIуэIуащ. Iуахмэ, пщIэшхуэ зыхуащI хьэщIэ гуп 6жэщхьэIум тетщ.

„Дэ гъуэгуанэ кIыхь зэпытчащ, - жиIащ тхьэмадэ Iущхэм ящыщ зым, - пащтыхь хъуну фи быныр зэдгъэлъагъун щхьэкIэ. Пэж дыдэу, ар щыIэ мыбы?“

„ЩыIэщ, ауэ дэнэ дэ ар дунейм къызэрытехьар къыщыфщIар?“ - игъэщIагъуэу щIэупщIащ Исуф.

 

„Уэгум иту дэ вагъуэ нурдыдэ къэтлъэгъуащ, - жаIащабыхэм. - Ди тхылъхэм зэритымкIэ, а вагъуэм дэ къыдигъэщIэн хуейщ Израил пащтыхь хуэхъуну сабийр къыщалъхуну зэманри щIыпIэри“.

 

КъэкIуахэм лъэгуажьэмыщхьэ зрагъауэри, сабийм тыгъэхэр хуащIащ: дыщэ, ладан, смирнэ.

Тхьэмадэ Iущхэр ежьэжа нэужь, Исуфрэ Мэриемрэ набдзэгубдзаплъэу я къуэр къызэпаплъыхьащ. Абыхэм яIэт зэгупсысын. Ягу къагъэкIыжащ Iэщыхъуэхэм къахуэкIуа мелыIычхэмрэ а тхьэмадэ Iущхэр мыбы къэзыша вагъуэ зэщIэлыдэмрэ. Абыхэм я нэгу къыщIагъэхьащ къэкIуэну зэман дахащэр.

 

„ИкIэм-икIэжым Тхьэм Израил къыхуигъэкIуащ КъегъэлакIуэ“, - жиIащ Исуф. „Аращ, - жэуап итащ Мэрием, - Израилми зэрыдунейуи. А тхьэмадэ Iущхэр жыжьэ дыдэ къикIащ, ауэ щыхъукIэ, ахэри абы къыхуэныкъуэщ".

 

Исуфрэ Мэриемрэ Тхьэм фIыщIэшхуэ хуащIырт Хьисэ щхьэкIэ. Абыхэм ящIэрт Тхьэм и псалъэр зэригъэпэжар: - Абы и Къуэр уафэм къригъэхащ, дунейм и цIыхухэр мыкIуэду къригъэлын щхьэкIэ.

 

Ахэм я нэгуи къахущIэгъэхьэртэкъым Хьисэ и гъащIэр зыхуэдэнури зэрыхъунури. Ауэ ящIэрт Абы цIыхухэр фIыуэ зэрилъагъур Тхьэм псоми хьэкъ ящищIыну зэрыхуейр.

„Хьисэ къызэралъхуар“ хъыбарыр Инджылым щыщу ХъыбарыфIыр Маттэ къызэриIуэтамрэ (I псалъащхьэм) ХъыбарыфIыр Лука къызэриIуэтамрэ (I,2 псалъащхьэхэм) къахэтхащ. Тхьэм мурадыфIэ дунейм къытригъэхьэ цIыхухэми - бегъымбархэм - жаIакIэт Тхьэм МэссихькIэ, дунейм и ПащтыхькIэ, лъэпкъхэм я КъегъэлакIуэкIэ зэджэр къыщыунэхуну зэманыр. Тхьэм къыхиха лъэпкъым лIэщIыгъуэкIэрэ игъафIэу зэрихьащ Тхьэм къызэригъэгугъар зэщIэным-кIэ яIэ гугъапIэмрэ фIэщхъуныгъэмрэ. Зэрихьащ, я хэкур зэрыпхъуакIуэхэм (нэхъапэм - алыджхэм, итIанэ - урымхэм) я бжьым щIэмыкIыфу къекIуэкIа пэтми. Арати, икIэмикIэжым, а гугъапIэр нахуапIэ щыхъуащ Иудейм Урымым я кесару император Август, Иудейм и пащтыхьу Ирод щытетам. Абы щыгъуэщ Тхьэр и ужь щихьар цIыхухэр къызэригъэгугъар игъэзэщIэну. Дэуэдапщэ ехьэжьа лъэпкъи хэмытрэ къызэрыгуэкI щытыкIэ дыдэм иту Бэтлэхьэм щыIэ Iуэщ гуэрым къыщалъхуащ Тхьэм и Къуэр.

 

КъыкIэлъыкIуэ хъыбарыр зытепсэлъыхьыр Хьисэ и сабиигъуэрщ.  

  

ХЬИСЭ И САБИИГЪУЭР

ЩIыпIэ жыжьэ къикIа тхьэмадэ Iущхэр къэкIуащ къалъхуагъащIэ Хьисэ зрагъэлъагъуну. Ахэр къэкIуащ уэгум зэщIэблэу къихута вагъуэр я гъуазэу. А вагъуэр къызэрыунэхуар и щыхьэтт Пащтыхьышхуэр къызэралъхуам. Ахэр гъуэгу къытеуват, Абы тыгъэхэр хуащIын папщIэ.

Ауэ вагъуэм занщIэу къишакъым ахэр Бэтлэхьэм. Ерусалим и Iэшэлъашэхэм къыщысам, абыхэм вагъуэр яфIэкIуэдащ.

 

Апхуэдэу щыхъум, тхьэмадэ Iущхэр Ирод пащтыхьым и унэшхуэм екIуэлIащ. „Дэ дыхуейт пщыкъуэ цIыкIур зэдгъэлъагъуну“, - жаIащ абыхэм.

 

Пащтыхь Ирод а псалъэхэм ягъэгузэвауэ игъэщIагъуэу жиIащ:

„Мыбы пщыкъуэ лъэпкъ щыIэкъым“, - жиIэри и чэнджэщэгъухэр къраджэну игъэкIуащ абы.

„Тхьэм цIыхухэр къигъэгугъащ Пащтыхьыр Бэтлэхьэм къыщалъхуну", - къыжраIащ чэнджэщэгъухэм Ирод.

 

Арати, Ирод тхьэмадэ Iущхэм яжриIащ Бэтлэхьэм кIуэну.

„Ар къызэрывгъуэту къэвгъэзэжи, Iуэхур зытетыр къанэ щымыIэу сэ къысхуэфIуэтэж", - яжриIащ Ирод абыхэм. Ирод хьилэшыт, хъуагъэщагъэ гуэрхэри и гум къихьакIэт.

Тхьэмадэ Iущхэм Хьисэ къагъуэтри, тыгъэхэр иратащ, ауэ Ирод деж къагъэзэжакъым. Езы Тхьэ дыдэм къажриIакIэт абыхэм пащтыхь Ирод мурад бзаджэ зэрищIар.

„Хьисэ теухуауэ пащтыхьым зыри жевмыIэ, - жиIащ Тхьэм. – НэгъуэщI гъуэгукIэ вгъэзэж".

Куэдрэ япэплъащ пащтыхьыр абыхэм. ИкIэм-икIэжым, къэгубжьри, и зауэлIхэр къриджащ.

„ИкIэщIыпIэкIэ Бэтлэхьэм фыкIуэ, - унафэ къахуищIащ абы зауэлIхэм. - ФыкIуи, щIалэ цIыкIу къалъхуагъащIэу къэвгъуэту хъуар зэтевукIэ. Сэ сыхуейкъым, балигъ хъуахэ нэужь, абыхэм ящыщ гуэр пащтыхь хъуну. Псэууэ зы къэвмыгъанэу зэтевукIэ“. Унафэр ягъэзэщIэну заулIхэр ежьащ.

 

Ахэр къэмыс щIыкIэ, Тхьэм Исуф хъыбар къригъэщIащ: „Мэрием зыщIыгъу, сабийр къафщти, икIэщIыпIэкIэ мы къалэр къэвбгынэ; мыбы фыкъыдэнэмэ, Ирод Ар иукIынущ".

Исуфрэ Мэриемрэ псынщIэу загъэхьэзырщ, Хьисэ къащтэри, Ар пащтыхь Ирод щахъумэн щхьэкIэ, Мысырым кIуэну ежьащ. Ахэр иринэщхъейрт я хэкур зэрабгынэм икIи ящIэртэкъым къагъэзэж щыхъуну зэманыр.

 

Ирод пащтыхьыр жьы хъуат икIи сымаджэрилэт. Зыкъом дэкIри, ар лIащ. Тхьэм Исуф къыжриIащ афIэкIа шынагъуэ зэрыщымыIэжыр, Хьисэ къащтэу, зэрыунагъуэу я деж, Назарет, кIуэж зэрыхъунур. Мэриемрэ Исуфрэ абы хуабжьу иригуфIащ.

 

Назарет дэс я ныбжьэгъухэр гуфIэжу къапежьащ абыхэм, Хьисэ щалъагъум, мыр жаIащ:

„Сыту щIалэ цIыкIу къабзащэ яIэ мы Мэриемрэ Исуфрэ, сытуи зэуэ пIащэ хъуа!“ Исуфрэ Мэриемрэ гуфIэрт. Абыхэм насыпыфIэ дыдэу залъытэжырт я деж къызэрагъэзэжам щхьэкIэ.

Исуф пхъащIэ IэщIагъэм зритыжащ. Iэнэ, шэнт, хадэм зэрилэжьыхь Iэмэпсымэ сыт хуэдэхэр абы пхъэм къыхищIыкIырт. ЦIыхухэм жаIэрт:

„Дэ хуабжьу дрогуфIэ фэкъызэрывгъэзэжам. Уэ езырупхъащIэ бэлыхьщ, Исуф, икIи хуабжьу дыпхуэныкъуащ дэ уэ“.

 

Хьисэ нэхъ къызэрыдэкIуэтейуэ, Исуф зэрыпхъащIэм кIэлъыплъу, пхъащIэ Iэмэпсымэхэм ирилэжьэфу зригъэсащ.

 

Щэбэт махуэ къэс цIыху псоми загъэпсэхурт, лажьэртэкъым. ЦIыхухэр а махуэм синэгуэгум (тхьэлъэIупIэм) екIуалIэрт, Тхьэм елъэIуну, Тхьэм и хабзэхэм щIэдэIуну. Фэ шыхьам тетха а хабзэхэм макъ утIыпщакIэ къеджэхэрт.

 

ЩIалэ цIыкIухэр илъэсих зэрырикъуу, синэгуэгум хэт еджапIэм кIуэуэ щIа-дзэрт.

ЕгъэджакIуэм лъэкI къигъанэртэкъым Тхьэм и хабзэхэр цIыкIухэм къагуригъэIуэнымкIэ. Адрей щIалэ цIыкIухэм яхэту, Хьиси синэгуэгум кIуэрт. Ар хуабжьу еджакIуэ жыIэдаIуэт.

Хьисэ илъэс пщыкIутI ирикъуащ. Илъэс пщыкIущ щрикъуну махуэм, ари и ныбжьэгъухэри зэхуэсынурэ, абы ехьэлIа тхьэлъэIу синэгуэгум щащIа нэужь, ныбжьыщIэ хъуауэ къалъытэнущ.

Мэриемрэ Исуфрэ Назарет щыщ цIыху куэд я гъусэу, Ерусалим илъэс къэс кIуэрт, IутIыж махуэшхуэм хэтыну. Махуэ псокIэ лъэсу кIуа мо ешаелIахэр зэрыгупу зыщIыпIэ деж къыщыувыIащ, нэху къыщекIыну. Мэриемрэ Исуфрэ Хьисэ япэ дыдэу здрашэжьат абы щыгъуэ.

Ерусалим зэрыщыIа зэманыр щIэх дыдэ кIуауэ къащыхъуащ абыхэм. Тхьэм и унэшхуэм ахэр махуэ къэс кIуэрти, дин егъэджакIуэхэм жаIэм щIэдэIурт, Тхьэм елъэIухэрт. IутIыж махуэшхуэм ирихьэлIэу пщыхьэщхьэшхэ ящIащ: журтхэм ягу къагъэкIыжырт адэ ижь-ижьыж зэманым Тхьэм къыхиха и лъэпкъыр мысыр гъэрыпIэм къришыжу зэрихъумар.

Хьисэ и адэ-анэм ящIыгъу зэпыттэкъым. И ныбжьэгъухэм я гъусэуи къикIухьырт Абы. Зэгуэрым, унэм къыздэкIуэжым, ар и адэ-анэм яфIэкIуэдащ. Нэху къыщекIыну зыщIыпIэ къыщыувыIа нэужьщ абыхэм я къуэр зэрадэщIымыгъужым гу щылъатар.

 

Сыт ящIами, къахуэгъуэтыжакъым абыхэм я къуэр. Зыми илъэгъуатэкъым Ар а махуэм. Щымыхъум, Ерусалим къагъэзэжри, абы къыщалъыхъуэу щIадзащ.

 

Махуэ псокIэ къалъыхъуащ абыхэм Хьисэ. Махуищ дэкIауэ Мэриемрэ Исуфрэ ар къагъуэтыжащ, Тхьэм и унэшхуэм щIэтрэ дин егъэджакIуэхэм епсэлъылIэу. Мэрием абы хуабжьу зыхуигъэгусащ.

 

„Догуэ, дэ дызэрыгузэвэнур умыщIэу арат уэ?“ - еупщIащ ар Хьисэ.

„Фэ фщIэну и чэзу хъуащ сэ си хэщIапIэр мырауэ, си Адэм и унэрауэ зэрыщытыр, - жэуап итыжащ Хьисэ. - Сэ згъэзэщIэну си къалэнщ Абы и унафэр“.

 

Мэриемрэ Исуфрэ къагурыIуакъым абы жиIэр. Хьисэ ищIэрт ар Тхьэм и Къуэу зэрыщытыр. Абы и унафэхэр гъэзэщIэным зыхуигъэхьэзырурэ къэхъурт ар.

 

„Хьисэ и сабиигъуэ“ хъыбарыр Инджылым зэритым тещIыхьауэ мыбдежым къыщытIуэтэжащ.

 

Тхьэгурымагъуэхэм (тхьэмадэ Iущхэм) зэрахуэзам теухуар ХъыбарыфIыр Маттэ къызэриIуэтам и етIуанэ псалъащхьэм, Хьисэ Ерусалим зэрыщыIар ХъыбарыфIыр Лука къызэриIуэтам и етIуанэ псалъащхьэм къахэтхащ. А хъыбаритIым яку дэт зэманым екIуэкIахэр зыми ищIэркъым... Мэриемрэ Исуфрэ ящыгъупщэжатэкъым, Хьисэ къэхъун ипэ, мелыIыч къахуэкIуэу хъыбар къазэрыригъэщIари ар дунейм къытехьа нэужь къэхъуа Iуэхушхуэ телъыджэхэри. Ерусалим зэрыкIуам абыхэм ягу къигъэкIыжащ Хьисэ Тхьэм и Къуэу зэрыщытыр, къалэн хэха иIэуи Ар Тхьэм мы дунейм къызэригъэкIуар.

 

КъыкIэлъыкIуэ хъыбарым къыщытIуэтэжащ Хьисэ балигъыпIэ иува хъуа нэужь къэхъуахэр.  

 

ХЬИСЭ И НЫБЖЬЭГЪУХЭР

Хьисэ къыщыдэкIуэтеям, Абы и Iыхьлы Иуан теухуауэ нэхъыбэ зэхих хъуащ. Иуан Иордан псым и Iуфэм цIыхухэр Тхьэм и псалъэхэм щригъэдаIуэрт. ЦIыхухэр абы къыщызэхуэсырт, Иуан и псалъэхэм едэIуэн щхьэкIэ.

 

„Тхьэм и Къуэр дунейм къытрегъэхьэ, - жиIэрт Иуан, - ауэ фэ фыхуэхьэ-зыркъым абы фыIущIэну. Фэ Тхьэм фыкъыхиха лъэпкъщ, ауэ къыфтехуэ къалэныр вгъэзащIэркъым“.

ЦIыхухэм ящIэрт ар зэрыпэжыр. Тхьэм и хабзэхэм куэдрэ щебакъуэ щыIэт ахэр, сыту жыпIэмэ гугъуIуэу къалъытэрт.

 

„Дэри дрогумэщI абы, - жаIэрт цIыхухэм, - ауэ лIо дыбгъэщIэнур?“

„Фымыщхьэхыу фыкъакIуэурэ зызвгъэумэхъ, - къажриIэрт абыхэм Иуан, - фи гъащIэр нэхъыфIи нэхъ къабзи хъуну фызэрыхуейр влэжь IуэхухэмкIэ къэвгъэлъагъуэ. Апхуэдэу фщIымэ, фи гуэныхьхэр Тхьэм къыфхуигъэгъунущ".

 

Зрагъэумэхъын щхьэкIэ цIыхухэр щэ бжыгъэкIэ Иуан къыхуэкIуэ хъуащ. Ахэр абы „УмэхъакIуэ ИуанкIэ“ еджэрт. Гуэныхь лъэпкъ темылъ пэтрэ, Хьисэ цIыхухэм ящIыгъуу къэкIуащ Иуан зригъэумэхъыну. Хьисэ Иуан зригъэумэхъа нэужь, уафэм макъ къиIукIащ:

„Мыращ сэ фIыуэ слъагъу си Къуэ щIасэу си гум ирихьыр“.

 

Хьисэ ищIэрт Тхьэм и унафэр гъэзэщIэн щыхуей пIалъэр къызэрысар.

ГъэзэщIэгъуафIэтэкъым ар. Абы къыхэкIыу ар и закъуэу губгъуэ нэщIым и закъуэу кIуащ Тхьэм елъэIуну.

 

Махуэ куэдкIэ щыIащ Ар абы, ауэ а зэманым къриубыдэу зыри ишхакъым.

АрщхьэкIэ цIыхум я бий, Тхьэм къигъэщIа дуней дахэр зэIызыщIа шейтIаным мурад ищIащ Тхьэм и унафэхэр игъэзэщIэнымкIэ Хьисэ зэран къыхуэхъуну. Ар пэплъащ  Хьисэ хуабжьу къыщымэжэлIэнум.

 

Хьисэ апхуэдэу къыщымэжэлIам, зыкъыхуигъазэри, ар хэтащ Хьисэ Тхьэм емыдаIуэу, езым жиIэм къытригъэхуэну.

 

АрщхьэкIэ Хьисэ абы къыжриIащ:

„Сэ зэи уэ узгъэлъэпIэнукъым, шейтIан, сыту жыпIэмэ Тхьэм и псалъэхэм мыпхуэдэу яхэтщ: „Зиусхьэну уи Тхьэр бгъэлъапIэурэ, Абы и закъуэ ухуэлэжьэн хуейщ".

ИкIэм-икIэжым шейтIаныр Хьисэ и ужь икIыжын хуей хъуащ.

 

Губгъуэ нэщIым къикIыжа нэужь, Хьисэ Галилей псыхъурейм кIуащ. И Iуэхур абы щиублащ. Абы къилъэгъуащ бдзэжьей ещэу псы Iуфэм Iут лIитIыр. „Симон, Идрис, - къриджащ ахэр Хьисэ. - ФынакIуэ си гъусэу! Фэ дяпэкIэ фызэщэнури къэвубыдынури бдзэжьейкъым, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щхьэкIэ цIыхупсэхэрщ".

 

Хъыр ядыжу щыс нэгъуэщI 6дзэжьеящитIи къилъэгъуащ Хьисэ.

„Екъуб! Иуан! - къриджащ ахэри Хьисэ. - ФынакIуэ, фэри сыфхуейщ сэ!“ Арати, я Iуэху къагъанэри, 6дзэжьеящиплIыр Хьисэ и ужь иуващ.

 

Абыхэм къакIэлъыкIуэу, Хьисэ къриджащ Вифсайдэ къуажэм щыщ Филипп. Филипп хуабжьу и гуапэ хъуащ Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэм ящIыгъуну абы  къызэрыриджар. ГуфIэгъуэр иIэу, и ныбжьэгъу Нафанаил деж кIуэри, абы Хьисэ зэрыIущIар жриIэжащ.

„Назарет къикIыу фIы лъэпкъ къакIуэ хабзэкъым“, - жиIащ Нафанаил. АрщхьэкIэ, дауэ хъуми, ар Филипп щIыгъуу кIуащ, езыр и щхьэкIэ Хьисэ IущIэну хуейти.

„ФIэхъус апщий, Нафанаил, - жиIащ Хьисэ. - Филипп укъриджэн и пэ ахъуо жыгым и щIагъым ущIэсу услъэгъуат сэ уэ“.

 

Ар щызэхихым, Нафанаил къыгурыIуащ Хьисэ имыщIэ лъэпкъ абы и гъащIэм зэрыхэмытыр! Арати, Нафанаил ежьащ Хьисэ щIыгъуу.

 

Хьисэрэ и гъуэгу ирикIуэхэмрэ Галилей щыщ Канэ къуажэм щекIуэкIыну хьэгъуэлIыгъуэм хэтыну ирагъэблэгъащ зэгуэрым. Хьисэ и анэ Мэрием пщэфIэнымкIэ ядэIэпыкъурт, сыту жыпIэмэ абы фIыуэ ицIыхурт нысащIэр.

 

ГуфIэгъуэм зэрекIункIэ псоми дахэу захуэпат, нэжэгужэт, я нэгум насыпыр къищырт. ХьэгъуэлIыгъуэ Iэнэхэр удз гъэгъахэмкIэ гъэщIэрэщIат, нысащIэр, хэти хуэмыдэжу, дахащэу хуэпат, езыри дахэт.

 

Псори нэжэгужэт, Мэрием мыхъумэ. Хьисэ гу лъитащ абы.

„Сыт къэхъуар?“ - гузавэу еупщIащ ар Мэрием.

„ЕмыкIу дыдэ къытщыщIащ, си щIалэ, емыкIу дыдэ! ИгъащIэкIэ цIыхухэм яжьэдэлъынщ ар. ПщIэрэ, санэр дыухащ, Iэнэм къытедгъэувэн щыIэжкъым. Ярэби, уэ зыгуэр къыумыгупсысыфыну пIэрэ?“

 

Мэрием Хьисэ къыхуриджащ унэIутхэм я нэхъыщхьэр.

„Си Къуэм къыбжиIэу хъуар гъэзащIэ“, - жриIащ Мэрием абы.

„Кхъуэщынышхуих нэщIу къэгъуэти, ярызу псы икIэ“, - жриIащ Хьисэ унэIутым. Хьисэ къыжриIар унэIутым игъэзэщIащ.

 

Кхъуэщынхэм псыр изу ярыту илъэгъуа нэужь, Хьисэ жиIащ:

„Иджы къигъахъуи, тхьэмадэм ет“.

 

УнэIутым, къыжраIам тету, фалъэм изу къригъэхъуащ. Фалъэм итыр санэрт!

„ИгъащIэм сызэфауэ хъуам нэхърэ нэхъ санэфIщ мыр?“ - жиIащ тхьэмадэм, зэригъэщIэгъуэнур имыщIэу.

 

Ар Хьисэ илэжьа Iуэхушхуэ телъыджэ къомым ящыщу япэ дыдэт.

Галилей псыхъурейм къыщигъэзэжам, абы и ужьым цIыху куэд итт. Абыхэм зэхахакIэт хьэгъуэлIыгъуэм къыщыхъуа Iуэхушхуэ телъыджэм и хъыбар, хъыбару мыхъуу, апхуэдэ гъэщIэгъуэн гуэр я нэкIэ зрагъэлъагъуну хуейт.

 

Ауэрэ ахэр нэсащ хьэкътын ахъшэр хэзыхыр здэщысым деж.

„Маттэ! - еджащ абы Хьисэ, - уэри мыдэ си ужь къиувэ, сэ сыпхуейщ уэ“. Маттэ къэтэджщ, ахъшэхэр зыдэлъ пхъуантэр къигъанэри, Хьисэ и ужь иуващ. А махуэм къыщыщIэдзауэ ари къахэхъуащ Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэм.

 

Хьисэ и гъуэгу ирикIуэну цIыху пщыкIутI къыхихащ, ныбжьэгъу дыди къыхуэхъуащ ахэр Абы. Ахэр сытым дежи щIыгъут абы, Тхьэм и псалъэхэр цIыхухэм щалъигъэIэсым деж я тхьэкIумэр тегъэхуауэ щIэдэIухэрт. „Апостолт" абыхэм зэреджэр.

Мис абыхэм я цIэр: Симон Петррэ абы и къуэш Идрисрэ, Екъубрэ абы и къуэш Иуанрэ, Филиппрэ Варфоломейрэ, Фомарэ хьэкътын ахъшэ хэзыхыу щыта Маттэрэ етIуанэ Екъубрэ Фадейрэ, Симон Зилотрэ Иудэ Искариотрэ.

 

„Хьисэ и ныбжьэгъухэр“ хъыбарыр къызыхэтхар ХъыбарыфIыр Марк къызэриIуэтамрэ (1-3-нэ псалъащхьэхэр) ХъыбарыфIыр Иуан къызэриIуэтамрэщ (1-2-нэ псалъащхьэхэр). Тхьэм хуэлэжьэну щIидзэн и пэ, Хьисэ Иуан зригъэ-гъэумэхъащ. Ауэ, адрейхэм хуэмыдэу, ар гуэныхьыншэт. Абы щIэрыпсу Iуэхур къыщIыщIидзэн щхьэусыгъуэ лъэпкъ щыIэтэкъым. Апхуэдэ щIыкIэкIэ Абы Тхьэм и унафэр игъэзэщIауэ аркъудейщ. Тхьэм итIанэ наIуэ къищIащ и нэфIыр Хьисэ къызэрыщыхуэр. Тхьэм абы къаруушхуэ къритащ, ауэ Хьисэ ищIэрт а къарур щIиIэр, и щхьэр мыхъуу, нэгъуэщIхэм яхуэлэжьэн хуейуэ зэрыарар. ШейтIаныр, гуэныхь иригъэщIэну, Абы и ужь щитым, быдагъэ хэлъу пэуващ, Тхьэм и пса-лъэхэмкIэ жэуап иритыжу. Галилей къигъэзэжа нэужь, Абы къриджащ и гъуэгу ирикIуэну цIыху гуп. Ахэр цIыху пщыкIутI хъурт.

 

КъыкIэлъыкIуэ хъыбарыр теухуащ Хьисэ и ужь къиува цIыху къомым Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм и хъыбар зэралъигъэIэсам.  

 

ХЬИСЭ ДИН ГЪЭСАКIУЭЩ

Зэгуэрым, къуршылъэ щIыпIэм кIуауэ здэщыIэм, Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэм яжриIащ:

„Зы гъэщIэгъуэн гуэр вжесIэнущи, быдэу фыкъедаIуэ мыдэ. Зэгуэр, сэ сыщыфхэмытыжынум деж, ар фигу къэвгъэкIыжынщ. Фи мыгугъэ Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр мы дуней пащтыхьыгъуэхэм ещхьу. Фи фIэщ мыхъумэ, сыт насыпу къэфлъытэр жыфIи, цIыхухэм феупщI. Абыхэм жэуапу къыватынур мыращ: къулеигъэ, узыншагъэ, щIыхь.

 

Ауэ Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щIэтыну псори насыпыфIэу щытынущ:

тхьэмыщкIэхэри, къулейхэри, сымаджэхэри, а нэхъ къызэрыгуэкI дыдэ цIыхухэри. Насыпу щыIэм я нэхъ иныр Тхьэр фIыуэ плъагъурэ абы и унафэм ущIэту упсэунырщ.

Тхьэр фэ фи лъэIухэм хуэныкъуэщ. Мис мыпхуэдэу фелъэIу хъунущ, псалъэм папщIэ, Абы:

„Уэ ди Адэ лъапIэу уафэм щыIэ! Уи цIэр цIыхухэм ягъэлъапIэу ирехъу. Уи Тепщэныгъэшхуэр кърекIуэ. Уэ узыхуейр уафэм зэрыщыхъум хуэдэу, щIылъэми щрехъу. ЩIакхъуэ дызыхуэныкъуэр нобэ къыдэт. Мыхъуну тщIахэр къытхуэгъэгъу, дэ мыхъун къыдэзыщIахэм зэрахуэдгъэгъум хуэдэу. ШейтIаным гуэныхь дигъэщIэну хуит умыщI, икIи абы дыщыхъумэ. МыкIуэдыжын тепщэныгъэшхуэр, лъэкIыныгъэшхуэр, щIыхьышхуэр ууейщ. Iэмин“.

Тхьэм жэуап занщIэу къуимытыж щхьэкIэ, жыпIэу хъуар зэхех, - жиIэри къыпищащ Хьисэ. - Зыгуэрым и бжэм фытеуIуэрэ къыфхуIуимыхмэ, къыфхуIуихыху фытеуIуэ. Мис абы ещхьыркъабзэнущ Тхьэм фыщелъэIум дежи зэрыфщIынур.

 

Сэ зыгуэркIэ фыкъызэлъэIурэ жэуап фэзмытыфамэ, абы щхьэкIэ фыкъызэлъэIун къэвгъанэрэ? Мис апхуэдэущ Тхьэм фызэрелъэIунури. Тхьэм фелъэIуну зэи фымышынэ.

Тхьэуэ уафэм щыIэм и Тепщэныгъэшхуэм и хабзэ псори гущIэгъукIэ гъэнщIащ, - къыпищащ Хьисэ адэкIэ, - ауэ абы щыIэщ хэхауэ зы хабзэ: цIыхухэм лъагъуныгъэ яхуиIэныр. ЦIыхухэр есащ я ныбжьэгъухэр фIыуэ ялъагъурэ я жагъуэгъухэр ямылъагъуу.

 

Ауэ Тхьэр хуейщ фыкъэзылъагъу мыхъухэри фIыуэ флъагъуну. Мис итIанэ хэт дежкIи наIуэ хъунущ фэ Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм фызэрыщIэтыр.

 

ЦIыхухэм я Iейр зэвгъэлъагъуну фыхущIэмыкъу. ЦIыхухэм я ныкъусаныгъэхэр евгъэлъагъужу щIэвдзэмэ, езыхэми фэ фи ныкъусаныгъэхэм гу лъатэнущ. Иужьу вжесIэнуращи, - пагэу фыщымыт.

 

Зэгуэрым, Тхьэм и унэшхуэм щIэту цIыхугуэр Тхьэм щелъэIурт:

„Ди Тхьэ! Сэ уи хабзэхэр зэрысхъумэмрэ зэрызгъэзащIэмрэ хуабжьу срогуфIэ“.

Ар хуабжьу и щхьэм хуэарэзыжт, и псэукIэм ирипагэрт.

НэгъуэщI гуэри мыпхуэдэу елъэIурт Тхьэм:

„Си Тхьэ, сэ, цIыху гуэныхьыщIэм, гущIэгъу къысхуэщI“

Мис а иужьрейращ насыпыфIэ хъуауэ и унэ кIуэжар, сыту жыпIэмэ Тхьэм абы и гуэныхьыр къыхуигъэгъуащ.

 

Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм фыщIэтмэ, фэ фыщIэгузэвэн лъэпкъ щыIэкъым. Феплъыт мо уэгум ит бзухэм. Абыхэм яшхыни зэфэн псыи Тхьэм къащриткIэ, фэ фызыхущыщIэ щымыIэу абы фызэригъэпсэунум шэч къытевмыхьэ.

 

Щыгъынри абы ещхьыркъабзэщ: феплъыт мо губгъуэм къыщыкI удз гъэгъахэм. Пащтыхь фащэм нэхърэ нэхъыкIэкъым ахэр Тхьэм зэрихуэпар. Фэри, хуей фыхъумэ, хуэпауэ фызэрыщытыным Iэмал имыIэу и ужь итынущ Ар. Фэ хьэпшып куэд фиIэну фыхуейщ, къэвгъуэтакъэ - ффIадыгъункIэ е зэкIуэкIынкIэ фышынэ зэпыту фопсэу. АтIэми, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм фыщIэтмэ, фэ фщIэн хуейщ хьэпшыпым мыхьэнэшхуэ зэримыIэр. Фэ фи хьэпшып нэхъ лъапIэ дыдэр здэщыIэр уафэрщ.

 

Къызыщывгъэхъут цIыхуитIым унэ зырыз ящIыну кърагъэжьауэ. Япэм мывэ къырым трещIыхь. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, ар лэжьыгъэ хьэлъэщ, унэ лъабжьэр щIыным гугъуехьышхуэ пыщIащ. Абы къыхэкIыуи зэман куэд текIуэдащ а унэ лъабжьэр щIыным. ИтIанэ абы зэтрилъхьащ блынхэр. Ар куэдрэ елIэлIащ а унэм, абы къыхэкIыуи унэр быдэ хъуащ.

Борэнышхуэ къэхъуу тенджызыр къыщыукъубеям, унэм зыри къыщыщIакъым, сыту жыпIэмэ ар егугъупэрэ быдэу, къыр лъагэм и щхьэми тету ящIат. Сэ жысIэм федаIуэрэ зэхэфхар вгъэзащIэу щытмэ, абы къикIыр мис а зи унэр къыр лъагэм тезыщIыхьа цIыхум фрещхьу аращ.

 

ЕтIуанэм пIащIэ-тхъытхърэ нэхъ псынщIэIуэу зэриухынум хэтурэ унэр ищIащ. Унэ лъабжьэр нэхъ къэтIыгъуафIэ хъун щхьэкIэ, абы унэр щищIыну къыхихар нэхъ щабэу щыт пшахъуэщIым дежщ. Дауи, абы и Iуэхур нэхъ тыншт, абы къыхэкIыуи и унэр нэхъ псынщIэу иухащ.

АрщхьэкIэ псыхэкIуадэ хъуащ ищIа псори: борэн къэхъущ, псыр къиущ, унэ лъабжьэм къыщIэлъадэри щIилъэсыкIащ. Зи лъабжьэр быдэу щымыт унэр къэуэнтэкъэ - зэуэ къызэтещэхащ.

 

Сэ жысIэм фыщIэдэIурэ а жысIар фымыгъэзащIэмэ, абы къикIыр зи унэр пшахъуэм тезыщIыхьам фрещхьу аращ.

 

Сэ сыхуейщ фэ уэздыгъэм ещхьу фыщытыну, - жиIащ Хьисэ. - Уэздыгъэр щыпывгъанэм деж, фэ абы тефпIэIакъым, пэжкъэ? Лъагэу тывогъэувэ, унэ кIуэцIыр нэхъ къигъэнэхун щхьэкIэ. Дуней псор къэзыгъэнэху фынэхугъэщ фэ.

 

Сэ сыхуейщ жыжьэ дыдэ укъиплъми плъагъуу къуршыщхьэм тращIыхьа къалэм ещхьу фыщытыну. Фи Iуэху щхьэпэхэр ялъагъуа нэужь, цIыхухэм къагурыIуэнщ фэ Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм фызэрыщIэтыр“.

 

„Хьисэ дин гъэсакIуэщ“ хъыбарыр Iуащхьэм тету Хьисэ къыжиIа псалъэхэм щыщщ. Хьисэ абы щыжиIа псалъэхэр ХъыбарыфIыр Маттэ къызэриIуэтам и 5-7-нэ псалъащхьэхэм щывгъуэтынущ.

 

Галилей псыхъурейм и Iуфэм Iуту Хьисэ захуигъэзауэ щытащ и гъуэгу ирикIуэхэмрэ фIэщхъуныгъэ къыхузиIэу и ужь къиува цIыхубэмрэ. Дунейм нэхъ фIыгъуэу телъыр цIыхухэм къазэрыгурыIуэу щытар абы зэуэ ихъуэжащ.

 

ЦIэрыIуэныгъэми, IэщIагъэми, къулеягъэми мыхьэнэ яIэкъым. Псом нэхърэ нэхъапэр икIи нэхъыщхьэр Тхьэращ. Пэжыгъэрэ къабзагъэрэ ди гум илъу дыпсэумэ, дызыхуейуэ хъуамкIэ дэ абы дыщыгугъыурэ, езым и пащхьэм итлъхьэн тлъэкIынущ. ИкIи жытIэ хъунущ абы щхьэкIэ: „Ди Адэ ЛъапIэ“.

 

КъыкIэлъыкIуэ хъыбарыр теухуащ зы щIалэ цIыкIум хурикъун къудей шхынымкIэ цIыху куэдыкIей загъэнщIу Хьисэ зэригъэшхам.  

 

ХЬИСЭ ЦIЫХУБЭР ЗЭРИГЪЭШХАР

Хьисэ дэнэ кIуэми, цIыху куэд и ужь итт. Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэ уафэм щыIэм ар щытепсэлъыхькIэ едэIуэну яфIэфIт абыхэм. Хьиси фIэфIт цIыхубэм Тхьэм и псалъэхэр ялъигъэIэсыну.

 

Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэм ящыщ зыкъомыр Галилей псыхъурейм пэгъунэ-гъуу щыпсэу бдзэжьеящэхэрт. Хьисэ цIыхухэм Тхьэм и псалъэхэр ялъигъэ-Iэсырт, езыхэр бдзэжьей ещэрт.

Зэгуэрым Хьисэ мурад ищIащ и гъуэгу ирикIуэхэр зыщIигъуу псыхъурейм и адрей Iуфэм кхъуафэжьейкIэ кIуэну, зыщагъэпсэхун щхьэкIэ. Ауэ псы Iуфэм щесылIам, абдежми цIыху къом бжьэм хуэдэу щызэхэтт, абы къыпэплъэу. Ахэр къэкIуат Хьисэ жиIэхэм едэIуэну.

ЦIыху куэд дыдэ зэхуэсат. Абыхэм ящыщ зыкъомыр тхьэмыщкIэ дыдэт, ахъши лэжьапIи яIэтэкъым. Щыгъын лъапIэхэр зыщыгъ къулеижь гуэрхэри яхэтт.

 

Балигъхэм ящIыгъуу сабий куэди къэкIуат. ГуфIэжу, удзыпцIэм къыщажыхьырт абыхэм, мывэжьхэм я зэхуакухэм гъуэрыгъуапщкIуэ щыджэгурт. Ешыху къажыхьа, джэгуа нэужь, я адэ-анэхэм деж къагъэзэжри, Хьисэ къаухъу-реихьарэ жиIэнум пэплъэу зэхэтхэм яхэуващ ахэри. Я тхьэкIумэ тегъэхуауэ псори щIэдэIурт Хьисэ жиIэхэм.

 

„Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм фыщIыхьэну фыхуеймэ, - жиIэрт Хьисэ, - мы цIыкIухэм ещхьу фыщыт. Мис итIанэ Тхьэм фыкъищтэнущ фэ“.

 

„Абы и Тепщэныгъэшхуэр дауэ зэрыщытыр?“ - къеупщIырт абы цIыхухэр.

„Ар ещхьщ, зэ закъуэ фыIуплъамэ, фиIэухъуар зыщIэфтыфыну налкъут дахащэм, - къаритыжырт абыхэм Хьисэ жэуап.

 

„А жыхуэпIэр Тепщэныгъэ телъыджэщ итIанэ!“ - жаIэурэ арэзы техъуэрт цIыхухэр.

Ауэрэ пшапи зэхэуащ, куэдрэ гъуэгу тета цIыху къомри къэмэжэлIащ.

Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэр хуежьащ цIыхухэм ирагъэгъэзэжыну, ауэ езы Хьисэ яхуимыдэу моуэ жиIащ: „Хьэуэ, ахэр гъуэгу теувэжын япэ, мышхэу хъунукъым. Фэ вгъэшхэн хуейщ ахэр“.

„Дауэ? - ягъэщIэгъуащ абыхэм, - апхуэдиз цIыху тхуэгъэшхэну дэ?“

 

ЯщIэнур къахуэмыщIэрэ зэчэнджэщыжу зэхэуващ ахэр. Япэрауэ, мы Iуащхьэ щIыпIэм тыкуэн лъэпкъ щыIэтэкъым, щыIами, апхуэдизыр къэзыгъэшхэн ахъшэ дэнэт абыхэм къыздрахынур?

Абыхэм махуэ псом къадэщIыгъуа щIалэ цIыкIу гуэр къабгъэдыхьэри, къажриIащ:

„Хьисэ седаIуэурэ мы си матэм гъуэмылэ зэрилъыр сщыгъупщэжат сэ. Мэ, къафщтэ мыр!“

Гъуэмылэ зэрылъ матэ цIыкIур Хьисэ къищтащ, ауэ езым ишхын щхьэкIэтэкъым къыщIищтар. Абы и гъуэгу ирикIуэхэм унафэ яхуищIащ цIыхухэр зэрышхэнум хуэдэу ягъэтIысыну.

Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэм унафэр ягъэзэщIащ, щIакхъуэ цIыкIуитхурэ бдзэжьей цIыкIуитIрэ фIэкIа Хьисэ зэримыIэр ящIэ пэтми.

 

„А къомым дауэ мор зэрахурикъунур!“ - гузавэурэ жаIэрт абыхэм.

Ар зэхимыха хуэдэу, къэтэджри, Хьисэ Тхьэм фIыщIэ хуищIащ шхын къазэрыритам щхьэкIэ.

ИтIанэ Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэм яхуишиящ щIалэ цIыкIум кърита матэр, шхыныр цIыхухэм хуагуэшыну къажриIэри.

 

Абы къыдэкIуэуи, Хьисэ цIыхухэм къажриIащ:

„Псоми фабгъэдыхьэ, зэвмыту зыри къэвмыгъанэ“.

 

Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэм щIалэ цIыкIум и матэм илъ гъуэмылэр зэрыхъукIэ ягуэшри, езыхэм я матэхэм иралъхьащ. Апхуэдэут Хьис зэрыжиIари, ягъэзэщIащ.

ИтIанэ цIыхухэм яхыхьэри хуагуэшу щIадзащ шхыныр.

 

ЯпэщIыкIэ псоми ялъэIэсу тIэкIу-тIэкIу хуагуэшащ, ауэ зэрахурикъунур щалъа-гъум, хуит ящIащ зыхуейм хуэдиз къащтэну. Арати, псори я ныбэ изу шхащ а пщыхьэщхьэшхэ гъэщIэгъуэным.

 

Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэм я нэгум гузавэр итыжтэкъым. Ахэр гуфIэрт. Махуэшхуэ гуэрым ещхьт ар. Псом хуэмыдэжу щIалэ цIыкIур иригуфIэрт гъуэмылэр ишхыну зэрыщыгъупщам.

Пщыхьэщхьэшхэр зэфIэкIа нэужь, кIэрыхубжьэрыхухэр псоми зэщIащыпэжащ.

ЗэщIащыпэжри, матэхэм иралъхьащ: матэ пщыкIутIым ярыз хъуащ щIакхъуэрэ бдзэжьейуэ къэнар.

 

„Сыту телъыджэ ар! - жаIэрт абыхэм. - Хьисэ иIар щIакхъуэ цIыкIуитхурэ 6дзэжьеитIрэщ. ИтIани, мис, псоми зыдгъэнщIащ, абы и щIыIужкIэ мо къомри къыдэхуащ!“

Тхьэм фIыщIэ хуэдвгъэщI, - жиIащ Хьисэ, - икIи зэвгъащIэ: Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щыIэ щIакхъуэр куэдкIэ нэхъыфIщ. А щIакхъуэр зэи пхуэухынукъым, сыту жыпIэмэ абы ух иIэкъым. Апхуэдэ щIакхъуэ щхьэкIи щхьэ фыкъызэмылъэIур сэ?“

„Ар дапхуэдэ, а щIакхъуэ мыкIуэдыжыныр езыр?“ - къеупщIащ ахэр Хьисэ.

„Ар - сэращ, - жиIащ Хьисэ. - ЦIыхухэм гъащIэ езыт щIакхъуэр сэращ. Сэ сыкъыщIыфхуэкIуар мыкIуэдыжын гъащIэ фэстыну аращ".
 

„Хьисэ цIыхубэр зэригъэшхар“ хъыбарыр къызыхэтхар ХъыбарыфIыр Иуан къызэриIуэтам и еханэ псалъащхьэрщ. А хъыбар телъыджэм нэгъуэщIуи йоджэ: „Хьисэ цIыху минитхур зэригъэшхар“, - абы Инджылым и япэ тхылъиплIми ущрохьэлIэ. Иуан апостолым итхыжауэ къэнащ Хьисэ и псалъэхэр: „ЦIыхухэм гъащIэ езыт щIакхъуэр сэращ. Си деж къакIуэр мэжэлIэжынукъым, сэркIэ фIэщхъуныгъэ зиIэр игъащIэкIэ псы  хуэлIэжынукъым“. Хьисэ дунейм къыщIытехьар мэжалIэхэр игъэшхэну аркъудейкъым, мыкIуэдыжын гъащIэ яритын щхьэкIэщ.

 

КъыкIэлъыкIуэну хъыбарыр зэрыщыту зытеухуар Тхьэм и Тепщэныгъэ-шхуэрщ.
 

 

ХЬИСЭ ЩЭХУХЭР КЪЫЗЭРЫЗЭIУИХАР

 

Хьисэ жиIэхэм щIэдэIуну апхуэдизкIэ цIыху куэд зэгуэрым зэхуэсати, а къомыр зыщIэхуэн пэш мы дунейм тету къыщIэкIынтэкъым, абы къыхэкIыуи ахэр кIуащ Галилей псыхъурейм и Iуфэм. ЦIыхур Iувти, Хьисэ псы Iуфэ дыдэм Iутын хуей хъурт.

 

Арати, и гъуэгу ирикIуэхэм я кхъуафэжьейм итIысхьэри, Хьисэ сымэ псы Iуфэм мащIэу IусыкIащ. Иджы ар псоми ялъагъурт, жиIэхэри зэхахырт.

 

„Псори хъарзынэщ, - жиIащ Хьисэ, кхъуафэжьейм здисым, - ауэ сыт фэ нобэкIэ зэхэфхыну фызыхуейр?

 

Хэт ищIэрэ, зы Iуэхушхуэ телъыджэ гуэрфлъагъуным е зы гъэщIэгъуэн гуэр зэхэфхыным фыщIэхъуэпсу арагъэнущ фэ фыкъыщIэкIуар? Хьэмэрэ Тхьэм теухуауэ нэхъыбэ къэфщIэным фыхуейр пэж дыдэу пIэрэ? Армэ, фыкъэдаIуэ, сэ нобэ къыфхузэIусхынщ Тхьэуэ уафэм щыIэм и Тепщэныгъэшхуэм и щэху гуэрхэр.

 

Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр тарчицэ хьэдзэм ещхьу цIыкIунитIэщи, нэм къимыубыд жыхуаIэм хуэдэщ.

 

Уи фIэщ пщIыныр гугъущ, щIыгулъыр зэригъуэту, апхуэдэ хьэдзэ цIыкIунитIэм жыгышхуэ къикIыкIыныр, ари и къудамэшхуэхэр шэщIауэ тетрэ бзухэм абгъуэхэр тращIыхьыжауэ. Мис абы ещхьщ Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр: иджыпстукIэ ар нэм къыхуэубыдыркъым, ауэ хэхъуэм-хэхъуэурэ, ин дыдэ хъунущ.

 

Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр ебгъапщэ хъунущ ятIэ шыкъырым ещхьу гъуа пщагъэм. Ар Iэнлъэм илъхьэ, хьэжыгъэ икIутэ, псы щIэкIэ, фIыуэ зэIыщIи, еплъыт зэрыхъум. Пщагъэ лъэпкъ хыумылъэгъуэжу тхьэвыр къэпщынущ.

 

Iэнлъэм зэрилъу хуабэм трагъэува тхьэвыр къэзыгъэпщынур абы хэлъ пщагъэ тыкъырыращ. Мис абы ещхьщ Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэри -и IуэхущIафэхэр нэрымылъагъущ, ауэ дунейр къыпхуэмыцIыхужу зэзыхъуэкIын къару иIэщ.

 

Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр ещхьщ налкъутналмэсыр дэз ящIу щIатIа пхъуантэ-шхуэм. Зэгуэрым, мэкъумэшыщIэр тIэуэ губгъуэм здитым, и белыр быдэ гуэрым хуэзащ. Ар зищIысыр къищIэну къиулъэпхъэщурэ, мэкъумэшыщIэм къыщIитIыкIащ пхъуантэшхуэ. Абы дэлъ хъугъуэфIыгъуэ къомыр щилъагъум, ар пщIыхьэпIэу къыщыхъуащ мэкъумэшыщIэм.

Пхъуантэшхуэм щIыр тритхъуэжри, мэкъумэшыщIэм зыми зыри жриIакъым. Мылъкуу иIэр ищэщ, ахъшэфI къиугъуейри, абы къищэхуащ пхъуантэр здыщIэлъ щIыр. Мис иджы хъугъуэфIыгъуэ къомыр абы ей хъуат! Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэри апхуэдэщ. Ар сытым нэхъри нэхъ лъапIэщ, дунейм фIыгъуэу телъым нэхърэ нэхъыфIщ.

 

Иджыри зы щэху къыфхузэIусхынщ сэ, - жиIэри къыпищащ Хьисэ. - Тхьэр пэж дыдэу хуейщ Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм фэ фыщIыхьэну.

 

Ахъшэ ффIэкIуэдагъэххи фэ зэгуэрым? ФфIэкIуэдауэ щытамэ, шэч хэмылъу унэм щIэлъу хъуар къызэвгъэдзэкIауэ къыщIэкIынущ, ар къэвгъуэтыжыну фыхэтурэ.

Къыщывгъуэтыжам, дауи, псоми яхуэфIуатэу фыдэтащ, фи гуфIэгъуэмкIэ адрейхэм фадэгуэшэну фыхэтурэ. Абы ещхьщ Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэри. Фэ фщыщ дэтхэнэри яфIэкIуэда ахъшэм фрещхьщ, Тхьэм дежкIи гуфIэгъуэшхуэщ фыкъигъуэтыжыныр.

 

-                     Фымышынэ фэ, - къыпищащ Хьисэ адкIэ. - Фэ фщыщ дэтхэнэри лъапIэщ Тхьэм дежкIэ. Зыгуэр къызыщыщIа бзу цIыкIу нэгъунэ абы гу зылъимытэ щыIэкъым, бзууэ дунейм тетым нэхърэ Тхьэм дэ нэхъ фызэригъэлъапIэри зэвгъащIэ.

Тхьэм ещIэ уи щхьэм щхьэц налъэу итыр зыхуэдиз нэгъунэ“.

КъедаIуэу щысхэр щIэгуфIыкIащ, сабийхэри зэплъыжащ: абыхэм я щхьэцыр Iувт икIи баринэт. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми щхьэц налъэ дапщэ тетми Тхьэм ищIэу щытмэ, ар гъэщIэгъуэныщэкъэ-тIэ!

 

„Фи хъуреягъэр набдзэгубдзаплъэу къызэхэфплъыхьрэ фIыуэ фегупсыс-мэ, фэркIэ гурыIуэгъуэ хъунущ Тхьэм и щэхухэм ящыщ зыкъом. Мы жыгыр флъагъурэ? Мыр жыгыфIщ, фхужыIэнущ фэ. Мыбы и къудамэхэр къришэхыжауэ пхъэщхьэмыщхьэ IэфI куэд пытщ. Феплъыт, нтIэ, модрей джабэ нэкIум кIэрыт жыгым. Ар жыгыфIкъым, сыту жыпIэмэ и къудамэхэр псыгъуэщ, къыпыкIэхэр цIыкIущ икIи дыджщ. Ещхьыркъабзэщ цIыхури: фIыри Iейри нэрылъагъу мэхъу, псалъэу зэхэпха е я IуэхущIафэхэр плъэгъуа нэужь.

 

-                     Сэ сытым дежи сыфщIыгъунукъым, -къыпищащ Хьисэ адэкIэ. - Абы къыхэкIыуи сэ сыхуейщ, сыфхэкIыжа нэужь, фи гъащIэ гъуэгур акъыл хэлъу фыубзыхуну. IуэхуфI влэжьыным фыхуэмыщхьэх. Сэ схуэвлэжь IуэхущIафэхэмкIэ фи махуэхэр вгъэнщI.

ЛIы гуэр зекIуэ ежьат. Ежьэн и пи, и унэIуту хъуам ахъшэ яритащ. Зым - нэхъыбэу, адрейм - нэхъ мащIэу. Яритри, ахъшэр фейдэ хэлъу зэрагъэкIуэкIыну унафэ яхуищIащ.

Мис абы ещхьу сэри си псалъэхэр къыфхузогъанэ. Фытет абыхэм икIи фигу ивмыгъэху.

Нобэ хуэдэу къэзгъэзэжынущ сэ мы дунейм. Къэзгъэзэжынущ Тхьэм и

Тепщэныгъэшхуэр зыIэщIилъхьа Пащтыхь сыхъуауэ. Мис абдежым фэ си пащхьэм жэуап щыфхьынущ влэжьа псомкIи.

 

Бжьэмийхэр джэнурэ Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щыщ псори мелыIычхэм зэхуашэсынущ абы щыгъуэ. Аращи, фымыжейуэ а махуэм зыхуэвгъэхьэзыр!

 

ГъащIэм и гъуэгур тIууэ зэхокI Зыр бгъуэщ икIи занщIэщ, абы къыхэкIыуи урикIуэнкIэ тыншщ. Ауэ а гъуэгум фытемыхьэ фэ, сыту жыпIэмэ абы узыхуишэнур шейтIаным и лъахэрщ.

Фэ къыхэфхын хуейр бгъузэу икIи 6ырэтIырэу щыт гъуэгурщ. Ар къэгъуэ-тыгъуейщ, урикIуэнуи гугъущ. Ауэ абы фытемыкI фэ, сыту жыпIэмэ абы фыхуишэнущ Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм. Iэмал иIэмэ, къэвгъуэт ар! Мис ар щэхуу щыIэм я нэхъ инщ".

 

Хьисэ и Щэхухэр - ахэр щIагъыбзэ щIэлъу цIыхухэм яхуиIуэта хъыбархэщ. Абыхэм ящыщ куэдыр топсэлъыхь Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм. Ахэр фэ къыщывгъуэтынущ ХъыбарыфIым (Инджылым): хьэдзэ закъуэм, пщагъэм, налкъутналмэсхэм ятеухуа хъыбархэр - ХъыбарыфIыр Маттэ къызэриIуэтам и I3-нэ псалъащхьэм; ахъшэ кIуэдам теухуар - ХъыбарыфIыр Лука къызэиIуэтам и I5-нэ псалъащхьэм; жыгымрэ пхъэщхьэмыщхьэхэмрэ ятеухуар - еханэм; талантхэм ятеухуар - ХъыбарыфIыр Маттэ къызэриIуэтам и 25-нэ псалъащхьэм, гъуэгуанитIым теухуар - и ебланэ псалъащхьэм.

 

Мы дунейм дытетыху, хэти хуитщ и гъащIэ гъуэгуанэр езым къыхихыжыну. Ауэ абыхэм узыхуашэр зэщхьэщокI. Тхьэр хуейщ езым и Тепщэныгъэшхуэм дыхуэзышэ гъуэгур къыхэтхыну, Хьисэ щIыгум къытехьэжа нэужь, дригуфIэжын хуэдэу.

Мы къыкIэлъыкIуэнур Хьисэ щIагъыбзэ щIэлъу къиIуэтэжа хъыбар нэхъ цIэрыIуэхэм ящыщ зыщ.   

  

САМАРИЕ ЩЫЩ ЦIЫХУУ ГУЩIЭГЪУ  

ЗЫХЭЛЪЫМ ТЕУХУА ХЪЫБАРЫР

Хьисэ жиIэм щIэдэIуну къекIуалIэхэм яхэтт Ар зи акъылым икIа гуэру цIыхухэм къащызыгъэхъуну хэтхэри. ЦIыхуу щыIэр Хьисэ къызэредаIуэм щхьэкIэ къыхузэгуэпырти, ахэр щIэмычэу абы къеупщIырт жэуап зэтыгъуей гуэрхэмкIэ.

 

ХабзэхэмкIэ дин егъэджакIуэ гуэр Хьисэ мыпхуэдэу къеупщIащ зэгуэрым:

„Сэ сыхуейщ а уэ зи гугъу къытхуэпщI мыкIуэдыжын гъащIэр згъуэтыну; сыт ар къэзгъуэтын щхьэкIэ, сщIэн хуейр?“

Хьисэ еупщIащ абы: „Торэт хабзэм пщIэн хуейуэ къыпхуигъэувыр сыт?“

„Къысхуегъэув Тхьэр гукIи псэкIи фIыуэ слъагъун, си щхьэр зэрыслъагъужым ещхьыркъабзэу спэгъунэгъу цIыхури фIыуэ слъагъун хуейуэ“.

 

„Упсэу, пэж дыдэщ, - жиIащ Хьисэ, - нтIэ, сыт иджы къыбгурымыIуэжыр?“

Дин егъэджакIуэм игугъащ а кърита упщIэр Хьисэ къегугъуэкIыну, арщхьэкIэ нэгъэсауэ жэуап пэж къритыжащ.

„Догуэт, догуэт. А „спэгъунэгъу цIыху" жыхуэпIэм къибгъэкIыр сыт уэ?“ „Мыдэ зы хъыбар къедаIуи, абы и жэуапыр къэпщIэнщ", - жиIащ Хьисэ.

Хьисэ и хъыбарыр иухыху, я тхьэкIумэр тегъэхуауэ псори едэIуащ. „ЛIы гуэр Ерусалим икIыу Ерихон кIуэрт. Гъуэгум псэкIэ бауэу зыри щызекIуэр-тэкъым, ихъуреягъкIэ цIыхуншэт.

Апхуэдэурэ здэкIуэм, хъунщIакIуэ гуэрхэр гъуэгубгъум къыIулъ мывэшхуэхэм къыкъуэжри, лIым къытеуащ. ФIыуэ кIуэцIакъухьщ, ахъшэу иIыгъыу хъуар трахри, уIэгъэ ящIарэ лъыр къыщIэжу гъуэгум къытранэри зэбгрыжыжащ.

 

ЗэрыжытIауэ, цIыху щIагъуэрэ щызекIуэртэкъым а гъуэгум, абы къыхэкIыуи уIэгъэ хъуа лIыр куэдрэ щылъащ, къыхуэмызэIауэрэ. Ауэрэ, икIэм-икIэжым, зы гъуэгурыкIуэ къыкъуэкIащ. Ар дин пашэт. Гъуэгубгъум Iулъ лIыр щилъагъум, ар хуабжьу къэшынащ. „ХъунщIакIуэхэр къыпэтIысщ, къытеуэри уIэгъэ ящIауэ аращ ар“, - егупсысащ дин пашэр икIи пIащIэу блэкIащ. Ар шынащ хъунщIакIуэхэм къытрагъазэу абыи къытеуэнкIэ.

 

Ауэрэ, етIуанэ гъуэгурыкIуэр къэсащ. Ар Ерусалим дэт Тхьэм и унэшхуэм кIэлъыплъурэ щытыныр зи лэжьыгъэ левитт. Гъуэгум зэпрыкIри ар уIэгъэм еплъащ, ауэ, мыр псэу, хьэмэ лIа, жиIэу зэхимыгъэкIыу, левитри 6лэкIри ежьэжащ".

 

Ар апхуэдэу щIищIар къызыгурыIуа цIыхухэм „бгъэщIэгъуэн хэлъкъым“ жыхуаIэу я щхьэр ящIащ. Псоми ящIэрт хьэдэ уеIусауэ Тхьэм и унэшхуэм ущIыхьэ зэрымыхъужынур.

„Ещанэ гъуэгурыкIуэр Самарие щыщ лIы гуэрт“.

 

„Самарие“ псалъэр зэрызэхахыу, цIыхухэр мыарэзыныгъэ хэлъу зэщIэдымащ: журтхэм ялъагъу хъуртэкъым Самарие хэкум щыщхэр. Хьисэ къыпищащ адэкIэ: „ЛIы щылъыр щилъагъум, Самарие щыщ гъуэгурыкIуэр и шыдым къепсыхри хъуржыным илъ псылъэр кърихащ.

ЗэрымылIар къищIа нэужь, Самарие щыщ лIым абы и уIэгъэр хуитхьэщIащ, псыи иригъэфащ.

ИтIанэ и уIэгъэр хуипхэщ, шыдым игъэшэсщ, IумпIэр иубыдыжри, и гъуэгу хигъэщIу ежьащ. МыпIащIэурэ нэсащ ахэр нэхъ гъунэгъу дыдэу щыIэ хьэщIэщым, Самарие щыщ лIыр япэми " мызэ-мытIэу жэщ щигъэкIуам. ХьэщIэщыр зейм фIыуэ къицIыхурт ар. ЗэдэIэпыкъуурэ, абыхэм уIэгъэм и пIэр тыншу къыхуаухуащ.

 

Нэху къызэрекIыу, Самарие щыщ лIыр и гъуэгу теувэжащ. Ауэ, ежьэжын ипэ, хьэщIэщыр зейм абы ахъшэ иритри моуэ жриIащ:

„Мыр хъужыху укIэлъыплъыну сыхуейт сэ; гъашхэ икIи кIэлъыплъ. Ахъшэр къомэщIэкI хъумэ, къэзгъэзэжауэ сыкъыщыкIуэжкIэ иджыри уэстынщ".

 

Хьисэ дин егъэджакIуэм зыхуигъазэри еупщIащ:

„НтIэ, къызжеIэт мыр: а лIы уIэгъэм и Iуэхур гурэ псэкIэ зыхэзыщIар дэтхэнэра?“

Дин егъэджакIуэм, Iэмал иIэмэ „Самарие щыщ лIыр“ псалъэхэр пхужиIэнутэкъым. „Нэхъ гущIэгъу хуэзыщIаращ", - жиIэри щIэгурымыкIащ ар.

 

„Упсэу, - жиIащ Хьисэ, - Самарие щыщ лIым къыгурыIуащ абы и дэIэпыкъуныгъэм зыгуэр хуабжьу зэрыхуэныкъуэр, икIи дэIэпыкъуащ.

 

Мис апхуэдэ дыдэу гущIэгъу фхэлъу фыпсэун хуейщ фэри, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм фыщIыхьэу мыкIуэдыжын гъащIэр вгъуэтын щхьэкIэ.

 

«Самарие щыщ цIыхуу гущIэгъу зыхэлъым» теухуа ущие хъыбарыр Хьисэ къигъэна ущие хъыбар нэхъ цIэрыIуэ дыдэхэм ящыщ зыщ. Дин егъэджакIуэм  упщIэ гугъукIэ ар щигъэуэну зэрыхэтыр къыщищIэм, Пасэрей ЗэгурыIуэныгъэм (Ветхий Завет) щыщ псалъэхэмкIэ Хьисэ адрейм и упщIэм жэуап ирыригъэтыжащ: япэ унафэр - Тхьэр фIыуэ лъагъу, етIуанэр - цIыхухэм яхущыт ахэр уэ къыпхущытыну узэрыхуейм хуэдэ дыдэу. Тхьэуэ уафэм щыIэм и Тепщэныгъэшхуэм дыщIыхьэну дэ зэи „къытхуэлэжьынукъым“

 

Тхьэм и унафэхэр дгъэзэщIэну дыхэт къудейкIэ. Хьисэ и жэуапым къикIыращи, дэ Тхьэми цIыхухэми яхудиIэ щытыкIэр тхъуэжын хуейщ. Хьисэ ди гум щыщ хъуну тщтэным и гъуэгу закъуэр арщ щIэрыщIэу укъезыгъэлъхужынур. Хьисэ дунейм къытехьащ Тхьэм и унафэхэр игъэзэщIэну, дэ езым и гъуэгум дрикIуэурэ, мыкIуэдыжын гъащIэ диIэн папщIэкIэ.

КъыкIэлъыкIуэну хъыбарыр зытеухуар ХъыбарыфIым цIыхухэр зэхуэмыдэу зэрыхущытарщ.

 

 

ЖЫЛАСЭМ ТЕУХУА ХЪЫБАРЫР

  

КIуэтэху нэхъыбэ къызэхуэсырт Хьисэ жиIэхэм щIэдэIуну. ДэнэкIи къикIыурэ, ахэр зэхыхьэрт, Хьисэ сымаджэхэр зэригъэхъужым еплъыну, абы жиIэ Тхьэм и псалъэхэм едэIуэну. Псом нэхърэ нэхъыфIу абыхэм ялъагъур Хьисэ къажриIэ ущие хъыбархэрт. Мис абыхэм ящыщ зы.

Пасэм щыгъуэ мэкъумэшыщIэ гуэр лажьэу хьэсэм хэтт. Абы щыгът лэжьыгъэм хуэщIа щыгъын къызэрыгуэкI пхъашэ, дыгъэм исарэ жьыбгъэм ипхъэхауэ и нэкIури и Iэхэри пхъашэт. УэфIщ, уэлбанэщ, жимыIэу, ар сытым дежи, еш имыщIэу, лажьэрт. ЩIы явагъащIэр фIыцIэт икIи щабэт. Куэдрэ елэжьат ар абы, жылэ тепсэ хъуным хуигъэхьэзырурэ.

 

Абы хьэсэр къызэхикIухьырт, лъащIабгъуэ хъужауэ жылэ зрылъ матэшхуэр иIыгъыу. Ахэр жылэфIт, жылэу иIэм я нэхъыфIт.

 

IэмыщIэкIэ къищтэм ихъуреягъкIэ ипхъыурэ абы жылэр исэрт. Дэни нэст жылэфIхэр.

МэкъумэшыщIэм и хьэсэм лъагъуэ цIыкIу кIуэцIрыкIырт. Къуажэдэсхэр махуэ къэс псым кIуэ-къэкIуэжу а лъагъуэм тетт, абы къыхэкIыуи хъарзынэу пкIат.

 

Лъагъуэм телъалъэ хьэдзэхэр тыншу къалъагъурт бзухэм. Абы къыхэкIыуи бзухэр къэтIысурэ ахэр тращыпыкIырт. А гъуэгум телъалъэ жылэхэм лъабжьэ ящIу щIым хэкIэну хунэстэкъым.

Жылэхэм ящыщ куэди мывалъэу щыт щIым телъалъэрт. МэкъумэшыщIэм лъэкI къигъанэртэкъым, жылэхэр щIихъумэну хэтурэ, ауэ щIыгулъулъыр пIащIэ дыдэт, и щIагъыр мывэ лъэгут.

 

Мис а жылэхэр щIэх дыдэу хэкIэрт, сыту жыпIэмэ щIыгулъ пIащIэр дыгъэм тыншу къигъэплъырт. Ауэ щIыгулъыр къурэщ, псыIагъ лъэпкъ щIэмытыж хъууэ лъабжьэхэр мывэ лъэгум нэса нэужь, къэкIыгъэр хуэм-хуэмурэ гъуалэрти, гъужыпэрт.

Жылэхэм ящыщ зыкъоми хэлъалъэрт хьэсэбгъум Iут пыжьей гуэрэным. Абы и жылэхэри тещащэрт а щIым.

 

Гъатхэ зэрыхъуу ахэр Iуву зэщIэкIэрт. ЖылэфIхэр куэдкIэ нэхъ къарууншэрт, щIым и IэфIри псыIагъ щIэтри зыщIэзышэ пыжь жылэхэм нэхърэ. Абы къыхэкIыуи жылэфIхэр, къэмыкIыу, хэфыхьыжырт.

 

Ауэ жылэм и нэхъыбэр, дауи, зытелъалъэр хьэсэу ягъэхьэзыра щIыгулъыфIырт. Абыхэм я лъабжьэр щIыгулъ щабэм хуиту хэкIэрт, псыIагъэр яхурикъуу ягъуэтырт, дыгъэри берычэту къатепсэрт.

 

Куэд дэмыкIыу хьэсэм къытеуващ къэкIыгъэхэр. Къэхыжыгъуэр къыщысым, щхьэмыжхэм ящызу хьэдзэщIэхэр ирищIащ. Ахэр пхьэжу щIакхъуэ бгъажьэ хъунут. МэкъумэшыщIэм игу зэгъат кърихьэлIэжа гъавэмкIэ.

 

Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэм хуабжьу ягу ирихьащ а ущие хъыбарыр. ЦIыхухэр зэбгрыкIыжа нэужь, Хьисэ щIыгъуу ахэри пщыхьэщхьашхэ зэдащIыну кIуащ. „КъыджеIэт а ущие хъыбарым къикIыр“, - къелъэIуащ ахэр Хьисэ.

 

Хьисэ мыпхуэдэ жэуап къаритащ: „Сэри си псалъэхэр ещхьщ а жылэфIхэм, ауэ абыхэм къыщIэдэIу псори щIыгулъыфIым ещхьу схужыIэнукъым.

Языныкъуэхэр зыщIэдэIу си псалъэхэр ещхьщ а гъуэгу пкIам телъалъэ жылэхэм. ЖысIар зэуэ ящогъупщэж апхуэдэхэм.

 

НэгъуэщIхэми ягухэр а мывалъэ щIыпIэм ещхьщ. Ахэри хъарзынэу щIодэIу жысIам, ауэ зэхахар ягу къызэринэным, лъабжьэ зэрыщагъуэтыным хэткъым.

Пыжьей чыцэм хэлъэлъа жылэхэри ещхьщ сэ жысIэхэм щIэдэIуну зыфIэфI, ауэ и унэ кIуэжа нэужь, щхьэлажьэ узыщI Iуэхухэм хэзэрыхьыжхэм. Апхуэдэхэм я деж щыхаса жылэхэр къыщыкIыркъым, сыту жыпIэмэ апхуэдэ цIыхухэм я дакъикъэ дэтхэнэри гъащIэм и Iуэху хьэлъэхэмкIэ гъэнщIащ.

 

Ауэ цIыхухэм яхэтщ щIыгулъыфIым ещхьхэри. Сэ фыкъыщызэдаIуэм деж а жысIэр фэ къывгуроIуэ. Апхуэдэм деж си псалъэхэр зэщхьыр щIыгулъыфIым хэлъалъэ жылэфIхэрщ.

Фэ сытым дежи фыхьэзырщ Тхьэм и жыIэхэр вгъэзэщIэну. Абы къыхэкIыуи ажылэхэм лъабжьэ щагъуэт фигухэм.

 

Тхьэм сэ къалэн къысщищIащ жыласэу сыщытыну. Сэ хэссэхэр жылэфIхэщ. Фэ фыхуитыжщ сыт хуэдэ щIыгуу фыщытынуми. Тхьэр мэгугъэ фэ гъавэшхуэ къэфтыну".

Жыласэмтеухуа хъыбарыр“ фэ къыщывгъуэтынщ ХъыбарыфIыр Маттэ къызэриIуэтам и епщыкIущанэ псалъащхьэм. Ар ящыщщ ущие хъыбархэм. Хьисэ ар къыщиIуэтэжар Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр зищIысыр цIыхухэм къагуригъэIуэну хуейти, аращ. Абы цIыхухэр иригъэгупсысырт ущие хъыбарым къикIым, апхуэдэ Iуэхухэм езыр-езырурэ жэуап къыхуагъуэтыфуи игъасэрт.

 

И гъуэгу ирикIуэхэм я закъуэт апхуэдэ ущие хъыбархэм къикIыр Хьисэ зыхуиIуатэр. А жылэфIым ещхь ХъыбарыфIыр Хьисэ цIыхухэм тыгъэ яхуищIыну дунейм къихьащ. Ауэ цIыхухэр абы зэрыхущытыр зэщхьэщокI. Тхьэр хуейщ абы и псалъэхэм дэ дыщIэдэIуну, зыгурыдгъэIуэну, абыхэм дытемыкIыуи дыпсэуну. ИтIанэщ дэ ди гъащIэм фIыгъуэ къыщыпыкIынур.  

 

ЗЭШИТIЫМ ЯТЕУХУА ХЪЫБАРЫР

Дин егъэджакIуэхэмрэ фарисейхэмрэ Хьисэ къепщIэпщIэкI цIыху къызэрыгуэкIхэр фIыуэ ялъагъутэкъым.

 

„КъыхищыпыкIыурэ зэхуишэс фIэкIапщIэнкъым абы а гуэныхьлы къомыр“, -жаIэурэ гъумэтIымэрт ахэр. Апхуэдэу щыхъум, Хьисэ абыхэм яжриIащ мы хъыбарыр.

Израилым зы къулеижь гуэр щыпсэурт. ЩIыуи, Iэщуи, ахъшэуи абы иIэр къэбжыгъуейт. А къомыр зехьа, зэгъэзэхуа хъунымкIэ абы къыдэIэпыкъурт и къуитIыр. Хьэлъэт а щIалитIым я лэжьыгъэр, нэхулъэр къыщызэкIэщIитхъым щIадзэрти, кIыфI хъуху зыгъэпсэху жыхуаIэр ящIэртэкъым.

Абыхэм ящIэрт, я адэр лIа нэужь, абы и мылъкур тIу ищIыкIауэ къазэры-хуэнэнур. Дауи, ахэр хуейтэкъым я адэр лIэну, ауэ апхуэдиз фIыгъуэр къа-щыIэщIыхьэну махуэм пэплъэрт икIи щIэхъуэпсырт.

 

ЩIалэ нэхъыщIэр хуэмышэчыжу и адэм деж кIуащ зэгуэрым.

„Сэ къыслъысыну Iыхьэр иджыпсту къызэпт щIэмыхъунур сыт? - еупщIащ ар и адэм.

- Догуэ, сэ уэ ущылIэнум сыпэплъэн хуейуэ ара, къулей сыхъун щхьэкIэ?“

Адэм и къуитIыр хуабжьу фIыуэ илъагъурт, насыпу щыIэмкIи яхуэхъуапсэрт. Арати, мылъкуу иIэр и къуитIым яхуигуэшащ абы.

Къылъысам хэплъэри, къуэ нэхъыщIэм моуэ жиIащ: „Сыт сэ мы хьэсэ къомри гуэн къомри зэрысщIынур? Ахэр сщэуэ ахъшэ сщIымэ, нэхъыфIщ“.

Арати, къуэ нэхъыщIэм къылъысар ищэжри, къыщIиха ахъшэр иIыгъыу насыплъыхъуэ ежьащ.

Къуэ нэхъыжьыр адэм щIыгъуурэ лажьэу и лъапсэжь къинэжащ.

 

Сытми, къуэ нэхъыщIэр кIуэурэ зы къалэ ин гуэрым нэсащ. Апхуэдэ къалэшхуэ илъэгъуатэкъым абы къызэралъхурэ! Дунейм теттэкъым абы щумыгъуэтын: шхыныгъуэ бэлыхьхэр, санэфIхэр, ефапIэ дахэхэр, тыкуэн хъарзынэхэр!

 

АхъшэфI зэрыкъуэлъыр къащIа нэужь, къалэдэс щIалэгъуалэр абы къе-пщIащ, я зыри хэмыкIуадэу ефэн-ешхэн, нэжэгужэн мурад яIэу.

 

Апхуэдэурэ, пщэдджыжь гуэрым щIалэр фIыуэ хэжеяуэ, къэушщ, зитхьэщIри, пщэдджыжьышхэ шхащ. ИтIанэ зыкъихуапэри, а махуэм ищIэнум егупсысащ. Ефэешхэ, джэгу зэхэпшэн щхьэкIэ, ахъшэ ухуейтэкъэ? Арати, и бохъшэр къещтэри доплъэ. Дэплъи пэт – бохъшэр нэщIщ!

Ар щилъагъум, щIалэщIэр къэгузавэри и ныбжьэгъухэм яхэлъэдащ:

„Ахъшэу сиIэр фэ фтезгъэкIуэдащ, иджы сытсэ сщIэжынур?“

ЩIалэм и ныбжьэгъухэр къыщыдыхьэшхри, утлъэгъуакъым – дыкъэплъагъужакъым, жыхуаIэу ежьэжащ. АфIэкIаи илъагъужакъым абы ахэр.

 

КъыкIэлъыкIуэ махуэм мэжалIэрэ нэщхъей къэхъуауэ щIалэм мурад ищIащ: „Сеуэнщи, лэжьапIэ гуэр къэслъыхъуэнщ, ахъумэ мыпхуэдэу ахъшэншэу сыпсэуфынукъым сэ“. Ауэ, кхъуахъуэу мыхъумэ, нэгъуэщI лэжьыгъэ игъуэтакъым абы.

АбыкъилэжьырапхуэдизкIэ мащIэти, щIакхъуэ уасэ къудей хурикъутэкъым. Кхъуэхэм кърат Iусым щыщ ишхыну къыIэрыхьэмэ, гуфIэрт ар, апхуэдизкIэ мэжэщалIэу псэути!

Зэгуэрым, кхъуэхэр игъэхъуу губгъуэм здитым, абы игу къэкIащ:

„Емынэм сызэрихуэу мыбы сыщыIэ сэ?! Си адэм и лъапсэм унэIут нэгъунэ тIэпIыжу щагъашхэ. Сэ къызгурыIуащ сщIэн хуейр: згъэзэжынщи, си адэм жесIэнщ сщIам хуабжьу сызэрыхущIегъуэжар икIи унэIуту сыкъищтэну селъэIунщ. Абы и къуэу зызбжыжыну къэзлэжьыркъым сэ“.

 

...И къуэр зэрыбзэх лъандэрэ, зы махуэ димыгъэкIыу адэр къалэм кIуэ гъуэгум теувэрти, ириплъэу щытт, къуэ нэхъыщIэм къыщигъэзэжынум пэплъэу.

Арати, и къуэр къэкIуэжу щилъагъум, пежажьэри, адэм ар IэплIэешэкIкIэ унэм иришэжащ: „Ефэ-ешхэшхуэ тщIынщ нобэ“, - гуфIэурэ жиIащ адэм икIи унэIутхэм унафэ яхуищIащ щыгъын къабзэрэ дыщэ Iэлъынрэ къыхуахьыну.

 

Пщыхьэщхьэр хэкIуэтауэ губгъуэм щыIа къуэ нэхъыжьми къигъэзэжащ. Унэм къыщIэIукI пшынэ макъэр щызэхихым, ар унэIутхэм еупщIащ, джэгу зращIэкIыр сыт, жиIэри. „Уи къуэш нэхъыщIэращ зращIэкIыр, - жэуап къатащ унэIутхэм, - зиусхьэным и гугъащ ар кIуэдауэ, лIауэ. АрщхьэкIэ, мес, лажьи-хъати имыIэу нобэ къигъэзэжащ".

Къуэ нэхъыжьыр унэм ихьэжакъым.

 

„Ефэ-ешхэшхуэ хуащIыным и пIэкIэ, фIыуэ зегъэцIыхужын хуеящ апхуэдиз ахъшэ изыгъэсыкIа шынэхъыщIэм!“ - жиIащ абы губжьауэ.

Адэр къыщIэкIри пщIантIэм дэт къуэ нэхъыжьым IэплIэ хуищIащ.

„ПщIэуэ пIэрэ уэ сэ фIыщэу узэрыслъагъур, - жиIащ абы гуапэу. - Уэрыншэу сыпсэуфынкIэ Iэмал иIэтэкъым сэ. Ауэ уи къуэшыр лIэуэ къэтэджыжам ещхьщ сэркIэ. НтIэ, дауэ сэ абы сызэрыщымыгуфIыкIынур?“

Арати, дин егъэджакIуэхэмрэ дин пашэхэмрэ захуигъазэри, Хьисэ жиIащ:

„ФщIэрэ, Тхьэм фIыуэ фыкъелъагъу фэ и хабзэм тету фыпсэуну фызэрыщIэкъум щхьэкIэ. Ауэ абы и гуфIэгъуэр щIэншэщ гуэныхьлыхэм ящыщ, и къуэ кIуэдахэм ящыщ гуэрым и унэ къыщигъэзэжым деж".

 

„ЗэшитIым ятеухуа хъыбарым“ къуэ кIуэдам теухуа ущие хъыбаркIи

щеджэ щыIэщ. Ар къыхэтхащ ХъыбарыфIыр Лука къызэриIуэтам и епщыкIутхуанэ псалъащхьэм. Хъыбарищ хэтщ а псалъащхьэм: мэл кIуэдам, ахъшэ кIуэдам, къуэ кIуэдам ятеухуа хъыбархэр.

 

Хьисэ жиIащ мы дунейм ар къыщIытехьар кIуэдыпIэ ихуа цIыхухэр къи-лъыхъуэурэ, мыкIуэду къригъэлыну аращ. Абы зи гугъу ищIыр Тхьэм и жыIэр ягъэзэщIэным и пIэкIэ, ягу зэрыIэпих дыдэм тету псэухэрщ. Апхуэдэу гъуэщауэ дунейм дытетурэ, дэ насыпыншэ дохъу. Ауэ ди псэр тIутыху, дэ сытым дежи, мис а къуэ нэхъыщIэм ещхьу, ди тхьэмыщкIагъэр къыдгурыIуэу, къэдгъэзэжу, тщIам дыхущIегъуэжын хуейщ. Тхьэм деждгъэзэжу дэжытIэ хъунущ гукIипсэкIи а тщIам дызэрыхущIегъуэжыр. Хъыбарым къегъэлъагъуэ и унэ бжаблэм къиувауэ дэ дезыгъэблэгъэж Тхьэр зэрынасыпыфIэр.
 

  

ЕФЭ-ЕШХЭМ КЪРАГЪЭБЛЭГЪАХЭМ ЯТЕУХУА ХЪЫБАРЫР

 

Хьисэ нэхъыбэрэ цIыху къызэрыгуэкIхэм яхэтт, ауэ къыщыхъу щыIэт беижь гуэрхэм щрагъэблагъи. Абыхэми яхутепсэлъыхьырт Ар Тхьэуэ уафэм щыIэм и

Тепщэныгъэшхуэм. Зэгуэрым ар къулей дыдэу псэу гуэрым я деж ирагъэблэгъат Ар. Адрей хьэщIэхэр шхэуэ щысыху, Хьисэ абыхэм яхуиIуэтащ мы ущие хъыбарыр.

 

Зы къулеижь гуэрым мурад ищIащ ефэ-ешхэ ищIыну. Арати, и ефэ-ешхэ Iэнэм пэрысыну хуейхэм я цIэхэр кIыхьу къритхыхащ абы икIи нэхъ пасэу псоми хъыбар яригъэщIащ, зыри къыщымыгъупщэн, къригъэблэгъахэми загъэхьэзы-рыну Iэмал ягъуэтын щхьэкIэ. ГуфIэгъуэ Iэнэр нэхъ зэпэщ хъуным щхьэкIэ ялъэкI къагъэнакъым абы и унэIутхэм. Шхыныгъуэ нэхъыфI дыдэхэр япщэфIащ, санэ нэхъ лъапIэ дыдэхэр къащэхуащ. КърихьэлIэхэм хэт дэнэ деж щысынуми - абы нэгъунэ яубзыхуащ. Адрейуэ, ефэ-ешхэр щекIуэкIыну пэшышхуэр удз гъэгъа дахэхэмкIэ ягъэщIэрэщIащ.

 

Псори хьэзыр хъуа нэужь, зиусхьэныр гуапэу ехъуэхъуащ псори апхуэдэу хъарзынэу къызэзыгъэпэща и унэIут псэ хьэлэлхэм. „НтIэ, псори хьэзырщ, - жиIащ абы, - иджы къеблэгъэну зыжетIа цIыхухэм факъеджэ“.

 

Абы и гугъащ я щыгъын нэхъыфIхэмкIэ зыкъахуэпарэ къыщеджэнум пэплъэу яхуэмышэчыжу къригъэблэгъахэр зэхэсу. АрщхьэкIэ Iуэхур нэгъуэщIу щыту къыщIэкIащ.

 

Арати, лIым и унэIутхэм ящыщ гуэр кIуэри, кърагъэблэгъахэм языхэзым и бжэм теуIуащ: „Неблагъэ! Ди зиусхьэныр къолъэIужащ унэкIуэну, псори хьэзырщ", - жиIэри. „Хуабжьу си жагъуэ мэхъу сынызэрымыкIуэфыр, - жиIащ абы, - ауэ нобэ хущIыхьэгъуэ лъэпкъ сиIэкъым: щIы тIэкIу къэсщэхуащи, сыкIуэу зыхуэдэм семыплъу хъунукъым“.

„Ар делагъэ хъун, - егупсысащ унэIутыр къыщыIукIыжым, - япэ щIыкIэ емыплъу хэт щIы къэзыщэхур?“

Ирагъэблэгъахэм ящыщ нэгъуэщI гуэрым деж кIуэри абыи мыпхуэдэу жриIащ:

„Ди зиусхьэныр къолъэIужащ унэкIуэну - Iэнэр хьэзырщ!“

„Хьэуэ, нэкIуапIэ лъэпкъ сиIэкъым, - жиIащ абыи, - випщI къэсщэхуащи, сымыгъэунэхуу хъунукъым“.

„Ари сыт делагъэ, - егупсысащ унэIутыр, - япэ щIыкIэ умыгъэунэхуу зэрылажьэ випщI къызэрыпщэхунур дауэ, утегушхуэу!“

Ирагъэблэгъахэм ящыщу ещанэм дежи Iухьащ унэIутыр, Iухьэри, жриIащ: „Дизиусхьэнымурегъэблагъэ ефэ-ешхэм ухэтыну. Псори хьэзырщ, хуэмышэчыжу къыппоплъэ!“

„Еууей, ар дауэ ухъу! СыгуфIэжу сынэкIуэнт, ауэ фыз къэсша къудейщи, нэкIуапIэ сиIэкъым“, - жиIэри жэуап къритащ адрейм.

„Ари сыт гъэщIэгъуэн, - егупсысащ унэIутыр, - фыз къэпшамэ, ефэ-ешхэм уахыхьэж мыхъуну ара-тIэ?“

Апхуэдэу егупсысурэ, унэIутыр къыIукIыжащ.

 

ЗэкIэлъыкIуэу зэратхам тету, кърагъэблэгъа псоми я деж джакIуэ кIуэри, унэIутым зиусхьэным деж къигъэзэжащ. Зиусхьэныр унэ дахэшхуэм и бжаблэм къиувауэ къитт, къэкIуэн хуей хьэщIэхэм япэплъэу.

 

И унэIутым хьэщIэ лъэпкъ и мыгъусэу къигъэзэжауэ щилъагъум, ар щIэупщIащ: „Дэнэ щыIэ-тIэ хьэщIэхэр?“

 

УнэIутым абы хуиIуэтэжащ псоми щхьэусыгъуэ зырыз ящIурэ къэкIуапIэ ямыIэу зэрыжаIар.

Зиусхьэныр губжьри кIиящ:

„Сыту мыгъасэ икIи гурыуэ мы цIыхухэр!“

Пэшышхуэм щIыхьэри ар еплъащ шхыным къикъутэ Iэнэм.

„Сэ сщIэнур къэсщIэжащ“, - жиIащ абы.

 

„Къалэм кIуэ, - унафэ хуищIащ абы унэIутым. - КIуэи, зы уэрам къыумыгъанэу удыхьэурэ тхьэмыщкIэуи, нэфуи, ныкъуэдыкъуэуи узыхуэзэу хъуар зэхуэшэс. Зэхуэшэси, яжеIэ ефэ-ешхэм ахэр къызэрезгъэблагъэр“.

 

Арати, унафэр игъэзэщIэну унэIутыр къалэм кIуащ. Куэд дэмыкIыуи зиусхьэным и унэм хуаунэтIащ еблэгъэну зэзымыусыгъуэджа цIыху гупышхуэм: тхьэмыщ-кIэхэм, сымаджэхэм, ныкъуэдыкъуэхэм.

 

„Ар хъарзынэт, - жиIащ зиусхьэным, - ауэ тIысыпIэ куэд иджыри нэщIу къэнащ. Мы Iэгъуэблагъэм щыIэ къуажэхэр къызэхэкIухьи, узыхуэзэу хъуар ди ефэ-ешхэм къегъэблагъэ“.

Унафэр игъэзэщIэну ежьэри, зы къуажэм дэкIмэ, адрейм дыхьэурэ, унэIутым Iэгъуэблагъэр къызэхикIухьащ. Зэхахар я фIэщ мыхъущэурэ, цIыху тхьэмыщкIэ къомыр пIащIэу ефэ-ешхэм кIуэрт.

 

Ауэрэ унэм щIэз хъуащ ефэ-ешхэм къызэрырагъэблэгъам иригуфIэ цIыхухэр.

ХьэщIэкIэ фIы зиусхьэным и гур япыIукIуэтащ мыбы къеблэгъэну зэзыусыгъуэджахэм.

Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр абы ещхьыркъабзэщ, - яжриIащ Хьисэ, Iэнэм къыдыбгъэдэсхэм захуигъазэри. - Езы Тхьэ дыдэм фыщригъэблагъэм деж, «Хъунщ!» жыфIэну фепIэщIэкI“.

„Ефэ-ешхэм ирагъэблэгъахэм ятеухуахъыбарыр“ - ар щIагъыбзэ зыщIэлъ хъыбарщ. Хьисэ дунейм къыщIытехьар, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм дыщIыхьэну дыхуриджэну аращ. Абы и къыхуеджэныгъэр дэ къэтщтэнуи къэдмыщтэнуи дыхуитщ. Ауэ абы и къыхуеджэныгъэм делъэстауэмэ, мы дуней нэпцIым щыдиIэ Iуэхухэм дыщIагъэнапэмэ, а къыхуеджэныгъэр зылъысынухэм дахэмыхуэнкIэ хъунущ.