.

АФЭКIА ДИ ФIЭЩ ТХУЭМЫЩIЫЖМЭ, ГЪАЩIЭМ ДАУЭ ДЫКЪЫЩЫЗЭТЕНЭНУ?

 

1. ФIэщхъуныгъэншэу укъызэтенэфынукъым

 

         Аращ, занщIэу мыбы гу лъывэзгъэтэн хуейщ: зи фIэщ зыхуэмыщIым дежкIэ хуабжьу гугъущ гъащIэм къыщызэтенэныр. Апхуэдэм деж сэри дэIэпыкъуэгъу сыхъуфынукъым. ФIэщхъуныгъэ зыхэмылъ цIыхум удэIэпыкъуфынукъым. Абы и щхьэусыгъуэр къывгурызгъэIуэнщ.        Дэ худогъэфащэ Тхьэр теологическэ тезису, гупсысэу е дыкъэзыухъуреихь дунейм и къарууэ, е апхуэдэ зыгуэру. Ауэ, си ныбжьэгъухэ, Тхьэм акъыл, щэн иIэщ, фIэфIэныгъэ иIэщ, Тхьэр уэрэ сэрэ дэщхьу пэж дыдэу щыIэщ икIи псори егъэнщI. ИкIи Тхьэм семыкIужамэ, Тхьэм сримыбынмэ, сэ щыIэгъэм сыпэIэщIэу лъэныкъуэ гуэркIэ сыкъыгуэту аращ. Ар щытыкIэ шынагъуэщ. 

         Си гъащIэм и нэхъ сыхьэт ину щытащ сэ сыофицер щIалэщIэу Япэ дунейпсо зауэм щыгъуэ мыр къыщызгурыIуауэ щытар: Тхьэр пэж дыдэу щыIэщ! Машинэ псынщIэм ису къырым жьэхэуа цIыхуу зыкъысщыхъужырт сэ. 

Абы и пэкIи сэ Зиусхьэн Тхьэр си фIэщ хъууэ жысIэрт сэ, ауэ Ар пэж дыдэу зэрыщыIэр си акъылым къыхуэубыдыртэкъым. Ауэ сэ зэуэ натIэкIэ сыжьэхэуащ Тхьэр зэрыщыIэм.

         Библием уи гущIэр къызэригъэдзэкIыу зы уэрэд лъапIэ итщ, Тхьэр апхуэдизкIэ щыIэщи, Абы зыфIэбгъэпщкIуфынукъым, жиIэу. Абы мыпхуэдэу хэтщ: «Уафэм сыдэкIуейми, абыи Уэ ущыIэщ ...» Америкэм щыщ астронавт Глени жиIащ, уэгу кхъухьым здисым, абы дежкIэ нэхъ къызэIухыныгъэ ину щытар мыр къызэрыгурыIуар зэрыарар: Тхьэр абыи щыIэщ! Аращи, «уафэм сыдэкIуейми», космосым къыщыслъэтыхьми, «Уэ абыи ущыIэщ!» Я нэхъ шахтэ куу дыдэу метр миным щIигъукIэ щIы щIагъым кIуэм сехатэми, абыи къыщыслъагъунут Тхьэр! Уэрэд лъапIэ жыIакIуэм жеIэ: «ЛIахэм я дуней, Уэри абы ущыIэщ». Иджыблагъэ Калифорнием сыщылъэтам, си фызым си пхъуантэм а уэрэд лъапIэм  усэ ныдилъхьати, Сан-Францискэ пхъуантэр щызэтесхри, абы сыкъеджауэ щытащ: «Пшэплъым и дамэхэр къасщтэу хым и гъунэм сылъэтэжми, Уэ уи Iэм сыкъыщришэкIынущ». Тхьэр щыIэгъэ щэджащэщ!

         Тхьэр щыIэгъэ щэджащэу щыщыткIэ, Абы бгъэдэмыхьэу лъэныкъуэкIэ щытхэр тезырыншэу къигъэнэнукъым. Сэ, Тхьэр щымыIэ хуэдэ, Абы и унафэхэр сымыгъэзащIэу сыпсэумэ, тхьэмахуэ махуэр сымыгъэлъапIэу, зинэ сщIэмэ, пцIы супсмэ, адэ-анэм пщIэ яхуэзмыщIмэ, Тхьэм пщIэ хуэзмыщIмэ, абы къикIыр сэ щыIэгъэм лъэныкъуэкIэ сыхущыту аращ. Ауэ си Iуэхур абы тетмэ, сэ гъащIэм зыщысIыгъыфынукъым! Зыфплъыхьыт фи хъуреягъкIэ: цIыхухэм я кIапэлъапэ яхузэтегъэхьэркъым, уеблэмэ ахъшэ куэд дыдэ къэзылэжьхэми. Ди псэм мыарэзыныгъэшхуэр щытепщэщ: ди щхьэ Iуэхур зэIузэпэщкъым, ди унагъуэ IуэхукIи дыхуэщIакъым.       «АфIэкIа ди фIэщ тхуэмыщIыжIамэ, дауэ мы гъащIэм дыкъызэрыщызэтенэнур?» Апхуэдэ щIыкIэкIэ дэ гъащIэм дыпэлъэщынукъым! Ажалым и гугъу умыщIыххэ! Илъэсищэ дэкIа нэужь, дэ тщыщ зыи мыбы щыIэжынукъым. Дэ псори дылIэнущ.

         Зыгуэрым жиIэнкIэ хъунущ: «ЛIэныгъэм и ужькIэ зыри щыIэIакъым. Дэ щымыIэныгъэм докIуэж!» Ауэ фэ езыхэр фегупсыс, дэтхэнэр уи фIэщ пщIымэ, нэхъыфI: Тхьэм и Псалъэра хьэмэ уэ езым уи гура? Дауэ ажалым узэрыIущIэнур, мыр зэуэ къыбгурыIуамэ: си гъащIэ псом зэхуэсхьэсам, зэзгъэпэщам щыщу сэ зыри къысхуздэщтэнукъым. Фэ унэ фухуауэ фиIэ къыщIэкIынщ, сэ библиотекэ дэгъуэ зэхуэсхьэсащ. ИкIи мы гъащIэм щысфIэлъапIэу щытам щыщ, апхуэдэу цIыху фIыуэ слъагъуу щытахэми ящыщ зыри сэ зыщIызгъу хъунукъым. Ахърэтым дыщыхыхьэкIэ, зы закъуэщ дэ къыздэтщтэнур: Тхьэм и пащхьэ щыттелъ къуаншагъэрщ. Фи нэгу къыщIэвгъэхьэт: фылIэу фытелъу фэ фи акъылыр зэуэ мыбы нос: «Сэ псори къэзгъэнэн хуейщ, си щIэпхъаджагъэхэмрэ гуэныхьхэмрэ я закъуэщ иджыпсту сщIыгъуу Тхьэ лъапIэм икIи захуэм и пащхьэ ихьэнур!»           Тхьэншэхэр зыгъэзахуэр ди фIэщ мыхъумэ, дауэ Тхьэм и хьэкумым и пащхьэ дызэрихьэнур? Абы и пащхьэ дызэрихьэнум шэч къытевмыхьэ!        Зиусхьэн Хьисэ гущIэгъушхуэ хэлъу мыр жиIащ: «Пкъыр зыукIхэм, ауэ псэр зыхуэмыукIхэм фащымышынэ, нэхъ фызыщышынэнур псэри пкъыри зыгъэкIуэдыфырщ».

         Илъэс зыбжанэ и пэкIэ Норвегием щыпсэуащ профессор цIэрыIуэ Халлесби, къэрал псом пщIэ зыхуащIу цIыху нэсыр. Тхьэмахуэ зэхуакукIэ абы радиокIэ цIыхухэр иущиящ. Иджыпстуи си нэгу къыщIызогъэхьэ абы микрофоным бгъэдэту зэрыжиIэр: «Фэ ныщхьэбэ гукъеяуэншэу фи пIэ фыгъуэлъыжу пщэдджыжь жьыуэ жыхьэнмэм фыкъыщыушынкIи хъунущ! Сэ сыхуейщ апхуэдэм зыщывэзгъэхъумэну!» Абы цIыхухэр егъэлеяуэ къигъэгубжьат, сыту жыпIэмэ Норвегием щыпсэухэри ящыщщ «иджырей цIыху» жыхуаIэхэм - апхуэдэу ущытыным иджы мыхьэнэшхуэ ират. Осло къыщыдэкI нэхъ газет ин дыдэм и журналистым пэрыт тхыгъэ къытрыригъэдзат мыр иту: «Дэ курыт лIэщIыгъуэхэракъым дыщыпсэур! Радиом хуэдэ иджырей IуэхущIапIэр делагъэ къатын щхьэкIэ къебгъэгъэсэбэп хъунукъым!» Апхуэдэу газетышхуэм итхамэ, газет цIыкIухэри, зэрыхабзэу, абы къыдожьу. Арати, газет напэкIуэцIу хъуам зыт ярытыр: «Дэ курыт лIэщIыгъуэкъым дыщыпсэур! Профессорыр и фIэщу жыхьэнмэм тепсэлъыхь хъурэ?!» Зэрыхьзэрий щыхъум, Осло и радиор профессор Халлесби елъэIуащ Iуэхур зытетыр гурыIуэгъуэ ищIыну. Арати, профессор  Халлесби аргуэру микрофоным Iуоувэри жеIэ: «Сэ Iуэхур зытетыр гурыIуэгъуэ сщIын хуейщ; икIи сщIынщ ар. Фэ ныщхьэбэ гукъеяуэншэу фи пIэ фыгъуэлъыжу пщэджыжь жьыуэ жыхьэнмэм фыкъыщыушыныр хэлъщ. Сэ сыхуейт апхуэдэм зыщывэзгъэхъумэну!» Абдеж къэхъуам фыщIэмыупщIэ! Норвегием епископу исым еупщIахэщ: жыхьэнмэ щыIэ? Уеблэмэ Германием щыщ «Шпигель» журналри а Iуэхум къыхыхьэри тхыгъэ ин къытридзэгъащ, «Жыхьэнмэм теухуауэ Норвегием щекIуэкI зэдауэр» жиIэу. А зэрызехьэм и ужькIэ илъэс дэкIатэкъым сэ Осло студентхэм я пащхьэ лекцэ сыкъыщеджэну, пщыхьэщхьэм цIыхухэм зыбжанэрэ сакъыхэпсэлъыхьыну къыщысхуихуам. ЯпэщIыкIэ пресс-конференц ирагъэкIуэкIащ. ХьэщIэщым газету хъуам я лIыкIуэхэр къыщызэхуэсащ. ИкIи, мис, гъэщIэгъуэн къохъу: а хьэлэбэлыкъыр къэзыIэта журналистыр си ижьырабгъумкIэ щысщ, си сэмагурабгъумкIэ Библиер зи фIэщ хъу прессэм я лIыкIуэу къыщысщ профессор Халлесби. Журналистыр ебгъэрыкIуэу хуежьащ: 

-              Дин пашэ Буш, профессор Халлесби сэрэ дызэгурыIуэркъым. Уэ уиджырей цIыхущ. Уэ дауэ уеплърэ, жыхьэнмэ щыIэ?»

         «ЩыIэщ, - естащ жэуап, - жыхьэнмэ, дауи, щыIэщ! Шэч хэлъкъым зэрыщыIэм!

-              Сэ къызгурыIуэркъым уэ ар апхуэдэу шэч къытумыхьэу зэрыжыпIэфыр», - идакъым абы. 

-              Си гуапэу къыбгурызгъэIуэнщ ар, - естыжащ жэуап. - Сэ жыхьэнмэ зэрыщыIэр си фIэщ щIэхъур, ар Хьисэ жиIащи, аращ. Хьисэ жиIэр си фIэщ мэхъу, сыту жыпIэмэ цIыху губзыгъэу щыIэу хъуам зэхэту ящIэм нэхърэ нэхъыбэ Абы ещIэ !»

         Тхьэм и Псалъэм жеIэ: «Тхьэр хуейщ пэжыр зэхигъэкIыну». Дэри аращ фIэщхъуныгъэм и гугъу щIэтщIыр, сыту жыпIэмэ Тхьэм гъащIэмкIи лIэныгъэмкIи пэжыгъэм ухуэзышэ гъуэгур дигъэлъэгъуащ.

                          АфIэкIа ди фIэщ тхуэмыщIыжмэ, гъащIэм дауэ дыкъыщызэтенэну?

Гугъуехьхэм дауэ сазэрыпэлъэщынур, адэкIэ си фIэщ зыри мыхъужмэ?

ФIэщхъуныгъэншэу мы гъащIэм зыщытхуэIыгъынукъым!

         А жысIар нэгъуэщI зыгуэруи фи фIэщ сщIыну хуит сыфщI. Фи нэгу къыщIэвгъэхьэт дыщэ бдзэжьей дахэ цIыкIу диIэу. «ТхьэмыщкIэ цIыкIу, уэ зэпымыууэ псы щIыIэм ухэсын хуей мэхъу! Сэ уи Iуэхур нэхъыфI сщIыну сыхуейщ!» - жывоIэри мурад фощI зэгуэр. Ар псым къыхывох, напэIэлъэщI щабэкIэ зэщIыволъащIэри дыщэ пхъуантэ дэгъуэм дывогъэтIысхьэ. Нэхъ шхыныгъуэфIу щыIэр ивот - сэ сыщыгъуазэкъым дыщэ бдзэжьейхэм сыт яшхыну нэхъ къащтэми - псалъэм папщIэ хъумпIэцIэдж джэдыкIэ е апхуэдэ гуэр? Аращи, хэплъыхьауэ нэхъ хъумпIэцIэдж джэдыкIэ IэфIхэр, къэуат зыщIэлъхэр ивотри, жывоIэ: «Си дыщэ бдзэжьей дахэ цIыкIу, иджы узыхуей ухуэзащ: дыщэ пхъуантэ дэгъуэ уиIэщ, хъумпIэцIэдж джэдыкIэри аращ, жьы къабзэкIи уобауэ!» Сыт абдеж дыщэ бдзэжьей цIыкIум ищIэнур? ФIыщIэ къыфхуищIу и кIэмажьэхэр щIиупскIэурэ: «упсэу, упсэу !», - жиIэну? Хьэуэ, зэрылIэм къыхэкIыу зиукIыжу, зиудыныщIэу щылъынущ. Ауэ ар псэлъэфу щытамэ, жиIэнурат: «Уи дыщэ пхъуанти сыхуейкъым, уи хъумпIэцIэдж джэдыкIи сыхуэныкъуэкъым, сыкъыздипхам сыхьыж, сэ псым сыхэсыну сыхуейщ!» Дэ дыкъызыхэкIар Тхьэ псэурщ, уафэри, щIылъэри, дэ псори дыкъэзыгъэщIарщ. Швейцарием  и лъэпкъ гимныр мы псалъэхэмкIэ къыщIедзэ: «ГъащIэ псом и хэкIыпIэр Уэращ». Тхьэр ди къежьапIэу щытщ!

Тхьэм секIужыху, си псэр дыщэ пхъуантэкIэ згъафIэ хъунущ.

КъывгурыIуэрэ? Иджырей цIыхум зыхуей псори хуощIэ: гухэхъуэ къезытхэр, нэгузегъэужьакIуэ дунеяплъэхэр, ерыскъы нэхъыфIхэр, шагъыр гуакIуэхэр - псори егъуэт, ауэ псэр мэбампIэри, жеIэ: «А псоми сэ сыхуэныкъуэкъым! Сэ сыкъызыхэкIам сыхыхьэжыну сыхуейщ, Тхьэм секIужынущ!» Фэ фи щхьэм апхуэдэу гущIэгъуншэу фыхущымытыж! Тхьэм декIужыху, дигухэр ди кIуэцIыкIыщIэм къыщокIий! Бдзэжьейр къызыхэкIа псымкIэ зэреIэм ещхьу, ди псэри дэ дыкъыщежьа Тхьэм дежкIэ мэпхъэр.

         АфIэкIэ ди фIэщ тхуэмыщIыжмэ, дауэ дунейм дыкъыщызэтенэну? Абы и жэуапу мыращ жысIэфынур: «Зыуи укъыщызэтенэфынукъым! ГъащIэми, лIэныгъэми, мыухыжыныгъэми!» Ар фымыдэу, цIыхухэр псори гъащIэм хъарзынэу хопсэухьыф, жыфIэмэ, сэ жэуапу фэстынуращ: и теплъэ къудейкIэщ ар зэрыхъарзынэр. Аракъэ зэрыщытыр? Къэтщтэнщ, псалъэм папщIэ, Гете - ар дохэт, къулейт, губзыгъэт, министр къулыкъу иIыгът, кIэщIу жыпIэмэ, псори иIэт, ауэ икIэм-икIэжым зиумысыжащ и гъащIэ псом щыщу гупсэхугъуэ щигъуэта сыхьэтхэр зэхэплъхьэжмэ, махуищи зэрыримыкъунумкIэ. Мис апхуэдэу пIейтейщ гъащIэр. Хьэуэ, фIэщхъуныгъэншэу гъащIэр зэтес пхуэщIынукъым.

                          ВжесIэн хуеям щыщу ар япэщ. Иджы къыкIэлъыкIуэ упщIэм сокIуэ:

 

2. Псори здэщыIэр фIэщхъуныгъэ пэжырщ

 

         ИкIэм-икIэжым Iуэхур здэкIуэжыр фэ фыкъезыгъэл фIэщхъуныгъэ пэжыр фиIэнырщ!

         ЦIыху къэс езым и фIэщхъуныгъэ иIэжщ. Сыстудент щIалэу, зэгуэр си анэм деж сыкIуэжауэ сыщыIэу, абы и деж зы цIыхубз гуэр къыщIыхьат ...  Абдеж си анэр щIэмысу кърихьэлIати, сэ ар къезгъэблагъэри згъэтIысащ, жесIащ сэр фIэкI уэршэрэгъу зэкIэ  зэримыгъуэтынур. 

-              Си гуапэу сыбдэуэршэрынщ, - жиIащ абы, - уэ сыт пщIэр?  

-              Сэ теологиер  (богословие) содж», - жэуап естыжащ сэ. 

-              Сыт жыпIа бджыр? - къыхэкIиикIащ ар. - Теологиери? Хэт иджы ар зи фIэщ хъужыр? Ар щыIэжкъым! 

Зи ныбжь хэкIуэта цIыхубзым Гете и тепщэныгъэр щIэгъэкъуэн къещI (мыр Гете щыпсэуа Франкфурт къалэрт), икIи пагэу жеIэ: 

-              Дэ иджыпсту ди фIэщ тщIыр Гетещ! Чыристаныгъэр куэд щIащ жьы зэрыхъурэ! 

Мы псалъэмакъыр  сфIэфIтэкъыми, нэгъуэщI щIыпIэкIэ тесшэну абы сеупщIащ: 

-              ПщIэ зыхуэсщI, хуит сыщI сыноупщIыну, дауэ упсэурэ?» Мыбдеж ар стIолым теуIуэри къыжьэдэлъэтащ: 

-              Той, той, той! Апхуэдэм ущIэупщIэ хъурэ? 

-              Къысхуэгъэгъу, ауэ а «той, той, той» жыхуэпIам къикIыр сыт? – сеупщIащ сэ.

-              Абы насыпыншагъэм ущехъумэ! –жэуап къызитащ абы.  

-              Ахьа, - жысIащ сэ, - Уэ Тхьэ псэумкIэ уиIа фIэщхъуныгъэр IэщIыб пщIащ, ауэ «той, той, той» жыхуэпIэмрэ пхъэм теуIуэнымрэ уи фIэщ хъууэ ара? Мис ар хъуащ! ХъуэжыкIафIэ ухъуащ!»

         Абдеж мыр сигу къэкIащ: дэтхэнэ цIыхуми зыгуэр и фIэщ мэхъу. Ауэ Iуэхур здэщыIэр мыращ: а си фIэщхъуныгъэр пэж, сыкъезыгъэлыфын? Ди зэманым жаIэ хабзэщ: «Нэхъыщхьэр фIэщхъуныгъэ зэрыпхэлъырщ!» Куэдрэ зэхыбох итIанэ: «Сэ Зиусхьэн Тхьэр си фIэщ мэхъу!» «Сэ дыкъэзыухъуреихь дунейр си фIэщ мэхъу!» «Сэ ухыгъэр си фIэщ мэхъу!» «Сэ къэхъунур къызэрыпщIэфынур си фIэщ мэхъу! Хьэуэ, хьэуэ, си ныбжьэгъухэ, нэхъыщхьэр сэ фIэщхъуныгъэ пэж зэрысхэлъырщ - Тхьэм сезыгъэкIуж, сигури мамыр зыщIыж фIэщхъуныгъэрщ сэ сиIэну сызыхуейр жыхьэнмэм умыкIуэу укъезыгъэл фIэщхъуныгъэщ, мыбдеж щызыхэсщIэфын фIэщхъуныгъэщ, сыту жыпIэмэ абы сэ гъащIэщIэ тыгъэ къысхуещI. НэгъуэщI фIэщхъуныгъэ зыкIи сыхуэныкъуэкъым. ЦIыху куэдым зэгуэр я фIэщ хъууэ щытащ Германиер, кIэух текIуэныгъэр, фюрерыр. АтIэ сыткIэ иуха ар? Сэ сызыхуейр укъезыгъэл фIэщхъуныгъэ пэжщ!

         Ауэ укъезыгъэл фIэщхъуныгъэ пэжыр - ар Хьисэ, Тхьэ псэум и Къуэр, уи фIэщ хъунырщ! ХьисэкIэ фIэщхъуныгъэрщ!  Диныр къэзыгъэщIамкIэкъым, апхуэдэхэр зыкъом мэхъу, атIэ Хьисэ МэссихькIэщ, Тхьэ псэум и КъуэмкIэщ. Иджы сэ вжесIэн хуейщ ХьисэкIэ фIэщхъуныгъэ пхэмылъыным къикIыр.

         Библием зы хъыбар телъыджэ итщ, а укъезыгъэл ХьисэкIэ фIэщ хъуныгъэр наIуэу къигъэлъагъуэу. КъызыфIэдвгъэгъэщIыт дэ илъэс 2000 я пэкIэ Ерусалим и куэбжэм дыкъыдэкIауэ Голгофэ бгым дыдэкIуейуэ - тезыршэчыпIэ щIыпIэм дыкIуэу. ЦIыху зэрыгъэкIий, зэщIэкъугъэ къомыр къызыфIэвмыгъэIуэху! Гулъытэншэу къэвгъанэ рим зауэлI хъумакIуэу щытхэу пхьэидзэкIэ тезыр зышэчынухэм я щыгъынхэр зыхуэзыгуэшхэри! Ауэ ди напIэр къэдвгъэIэти, дыдэвгъэплъейт: яку дэт жорым гъущI IунэкIэ кIэрыIулIауэ кIэрылъщ  Тхьэм и Къуэр! КъыфIакъуа пыжь банэ уэрдыхъум иуIа щхьэм къежэх лъым и нэкIур зэщIицIэлащ. Абы фIэлъщ Тхьэр. Абы ижьырабгъумкIэ хъунщIакIуэ кIэрылъщ. Абыи укI тралъхьащ. СэмэгурабгъумкIи нэгъуэщI зы хъунщIакIуэ кIэрылъщ. ИкIи абдеж хъунщIакIуэхэм ящыщ зым кIиин щIедзэ: 

-              Мыдэ къэдаIуэт Уэ, и кум фIэлъыр, Уэ жыпIауэ щытащ Тхьэм уриКъуэ хуэдэу. Уэ умыпцIыупсу Тхьэм ури-Къуэр пэжмэ, а жорым къех, сэри къыздэIэпыкъу! 

Ар зэхэпщIыкI хъунущ. Ажал шынагъэм щиубыдам деж, цIыхум нэгъуэщI зэман жимыIэн гуэрхэри къыжьэдокI. Адрейр къэпсэлъащ итIанэ.

Абы и ныбжьэгъум зыхуигъэзащ: 

-              Уэ иджыри Тхьэм ущышынэркъэ?!

 Абы и къыщIэдзэкIэмкIэ гурыIуэгъуэ мэхъу - Тхьэр лъапIэщ икIи шынагъуэщ.

         Ди къалэхэм бомбэхэр къыщыуэу щыщыта зэманым, цIыхухэр гузэвэгъуэм иубыдауэ, ящIэнур ямыщIэжу къызэхэнат. Члисэр къуаншэу къыщIэкIынщ мыпхуэдэу зэрыжимыIамкIэ: «Тхьэр шынагъуэу щытыфынущ! Тхьэм и нэIэ къыттримыгъэтыжынкIэ хъунущ! Уэ иджыри Тхьэм ущышынэркъэ?!» Ахъшэ зэрагъэпэщын щхьэкIэ, цIыхухэм хьэдэ гущIыIухэм къыщыщакIухьым деж, мыр яжеIэпхъэт: «Фэ итIани Тхьэм фыщымышынэу ара!» ФIеягъэ - цIапIагъэкIэ зи гъащIэр зыгъакIуэ ныбжьыщIэхэм яжеIэпхьэт: «Фэ итIани Тхьэм фыщымышынэу ара?! ЛIо фызэгупсысыр? Нэф фыхъуауэ ара?» Псори къыщежьэр Тхьэм и лъапIэныгъэмрэ и губжьымрэ зэхэпщIыкIынырщ. ИкIи, мис, хъунщIакIуэм, а хъунщIакIуэм, мыр жеIэ: «Дэ тэмэму тезыр къыттралъхьащ! Къэдлэжьащ дэ ар!» Укъезыгъэл фIэщхъуныгъэм ухуэзышэм щыщу ар етIуанэщ - уи къуаншагъэр  къыбгурыIуэжыныр.

                          Сэ цIыху куэд сахуэзащ, мыр жаIэу: 

-              Сэ си фIэщ схуэщIыркъым! 

Апхуэдэхэм сеупщIырт: 

-              Тхьэм и пащхьэ фызэрыщыкъуаншэм фегупсысауэ пIэрэ фэ?» - Хьэуэ, сэ псори тэмэму сощIэ, икIи зыми сыщышынэркъым. Абы щыгъуэ абыхэм яжесIэрт: 

-              Фэ апхуэдэу зыкъэвгъэпцIэжыху, пэжым зэи  фынэсынукъым!»           Мыпхуэдэу къызжезыIа гуэр иджыблагъэ срихьэлIащ: 

-              Сэ псори тэмэму солэжь икIи сыщышынэркъым!

Сэ ар хуэздакъым: 

-              Сынохъуэхъу! Сэ ар схужыIэнукъым! Сэ си гъащIэм дерт Iэджэ иIэщ». 

-              Дауи, Iуэхум ткIийуэ убгъэдыхьэмэ, - жиIащ абы. 

-              Тхьэр ткIийуэ бгъэдохьэ, ауэ уэ езым зыкъэбгъэпцIэжыну и ужь уихьэнкъым!» жысIащ сэ. 

ЗэвгъащIэ! Фэ фыкъезыгъэл фIэщхъуныгъэ пэж щывгъуэтыфынур гуэныхьым гуэныхькIэ феджа нэужьщ, фи секс зэпыщIэныгъэ фIейхэм зинэ яфIэфIщмэщ, фи епцIыжыныгъэм епцIыжыныгъэ фIэфщмэщ, фи пцIым хьилагъэкIэ феджэныр щывгъэта нэужькIэщ, фызэрыщхьэхуэфIыр вгъэзэхуэжын щывгъэту тхьэпэлъытэу зэрызыкъыфщыхъужымкIэ зывумысыжмэщ - ар тхьэ нэпцI вгъэлъэпIэнырщ. Мыр сыкъезыгъэлын фIэщхъуныгъэм сыхуэзышэ етIуанэщ, икIэм-икIэжым сэ, гуэныхьым гуэныхькIэ седжэу щIэздзэу, Тхьэм зыхуэзгъазэу жесIэмэ: «Зиусхьэн, сэ Уи хьэкум схуэфащэщ!» Сыту мыщIагъуэ ди нобэрей цIыхухэм я щхьэ мы псалъэхэмкIэ къызэрагъапцIэжьыр: «Псори хъарзынэ гуэрщ!» Ауэ Тхьэм ди нэкIум Iулъ Iупхъуэр Iуитхъынущ зэгуэр!

                          А хъунщIакIуэм Хьисэ зыхуигъэзащ итIанэ: 

-              Уэ Iей лъэпкъ блэжьакъым. Уэри щхьэ уфIэлъ-тIэ мыбдеж? ИкIи а напIэзыпIэм абы мыр къыгуроIуэ: 

-              Ар сэр щхьэкIэщ мыбы щIыфIэлъыр! Абы си къуаншагъэр сщхьэщех! 

ИкIи абы щыгъуэ жеIэ: 

-              Зиусхьэн, уэ - у-Пащтыхьщ, Уи ТепщэныгъэшхуэмкIэ укIуэжмэ, уигу сыкъэгъэкIыж!

Мыр ещанэщ: абы и фIэщ мэхъу Хьисэ тыгъэу Тхьэм игъащIэкIэ дыкъызэрыригъэлыр, сыту жыпIэмэ Ар дэ щхьэкIэ малIэри. Хьисэ жеIэ: 

-              Сэ сщIыгъуу жэнэтым нобэ ущыIэнущ!

         Аращи, укъезыгъэл фIэщхъуныгъэр къызыхэкIыр Тхьэм и лъапIэныгъэр къызэрысхузэIуихырщ, сэ сыкIуэдауэ зэрыщытыр зэрызыхэсщIэжырщ. Сэ щхьэкIэ жорым кIэрылIыхь Хьисэ си къегъэлыныгъэм и хэкIыпIэ закъуэу къызэрысщтэрщ. Апхуэдэ фIэщхъуныгъэ фхэмылъмэ, фэ зыкIи фыкъызэтенэфынукъым! НэгъуэщI зыри вжесIэфынукъым!

         ЦIыхухэм гукъанэ къысхуащIакIэщ, лъэныкъуабэIуэу сыпсалъэу жаIэри. Абы жэуапу естыжыфынуращ: «Къысхуэвгъэгъу! Ауэ гъащIэм, ажалым, хьэкум уазэрыпэлъэщыфыну щыIэр зы гъуэгу закъуэщ, ар сыт жыпIэмэ: сэ, гуэныхьщIакIуэр, Хьисэ деж сокIуэри, си гуэныхьхэм сахущIегъуэж, си гуэныхьхэмкIэ зызоумысыж икIи си фIэщ сощI Хьисэ и лъыр жорым къызэрежэхар./ Абы и натIэм, и напэхэм къежэхыурэ,/ Сэ гуэныхь бжыгъэншэ зэрыстелъар,/ ауэ а лъым сызэригъэкъэбзэжар». Сэ сыхуейт фэ мы псалъэуха закъуэр зэи зыщывмыгъэгъупщэну: «Хьисэ сэр папщIэ лIащ!» ИтIанэ Тхьэм и гущIэгъукIэ фэ Абы и пащхьэ зыщывгъэщхъынщи, жыфIэнщ:

«Сэр папщIэ лIащ Хьисэ! Сэр щхьэкIэ! Ауэ щыхъукIэ, сэ Ар си фIэщ схуэщIынущ!» Абы фи акъылыр щынэс напIэзыпIэм щегъэжьауэ фэ Тхьэм и бын фохъу! Хьисэ жеIэ: «Сэ сыбжэщ. СэркIэ щIыхьэр къелынущ».         Иджы сэ, ещанэрауэ, вжесIэн хуейщ цIыху куэдым мыр къызэрызжаIэр: «ПщIэрэ, дин пашэ Буш, а уэ жыпIэ дыдэращ сэ си фIэщ схуэмыщIыр. Уэ сыщынодаIуэкIэ, псори хъарзынэ хуэдэщ, ауэ ар си фIэщ схуэщIыркъым». Абы жэуап естыну сыхуейт иджы. Апхуэдэу жызыIэ цIыхухэр сэ гупиплIу згуэшыну сыхуейщ. Аращи:

 

3. Зи фIэщ зыхуэмыщI цIыхухэр ...

 

а) ... сыту жыпIэмэ, абыхэм диныгъэ яхэлъкъыми.

Япэ гупым хохьэ мыпхуэдэу къызжезыIэ цIыхухэр: «Сэ си фIэщ щIысхуэмыщIыр диныгъэ схэлъкъыми, аращ. Уэ диныгъэ пхэлъщ, зиусхьэн дин пашэ, сэ схэлъкъым!» Абы жэуапу естыфынуращ: «Сэри схэлъкъым диныгъэ». Тхьэгъуш къеуэ, члисэм щагъэу Iугъуэ мэ дахэ сыт жыхуэпIэхэм щхьэкIэ сэ уэстышхуэн щыIэкъым. Сэ хуабжьу сыщогуфIыкI иужьрей  илъэсхэм Эссен къалэм цIыхухэм сащыхэпсэлъыхь залым зы сыринэ оркестр зэгъэпэща фIэкIа нэгъуэщI зыри зэрыщIэмытам. Уи органи, уи тхьэгъуши сиIакъым, икIи абыхэм зыкIи сахуэныкъуакъым. Ахэр щхьэ щыIэ жысIэу сымыдэу аракъым, ауэ абыхэм сахуэмыныкъуэу аращ. Мис аращ сэ си диныгъэр здынэсыр!

         Тхьэм и Къуэ Хьисэ щIылъэм щыщыIам щыгъуэ дин зыIыгъ цIыху куэд щыIащ. А зэманым щыIэт дин егъэджакIуэхэр, фарисейхэр - ахэр хуабжьу динщIэкъу цIыхухэт. Псалъэм папщIэ, саддукейхэр дин IуэхухэмкIэ тIэкIу нэхъ щхьэхуитт. Ахэр нобэ: «Сэ Тхьэр дыкъэзыухъуреихь дунейм къыщызолъыхъуэ» жызыIэхэм ещхь гуэрт. Нацистхэм  я зэманым абыхэм жаIэу щытаращ: «Ди ныпхэм Тхьэр сурэту тещIыхьащ». Ахэр сыт хуэдэ зэмани динщIэкъущ. А динщIэкъухэм Тхьэм и Къуэр жорым кIэраIулIащ. А гупыр зытетым къезэгътэкъым Ар. Диным гъунэгъуу бгъэдэмыхьэхэри щыIащ: цIыхубз къэхьпэхэр, сондэджэрхэр (Библиер абыхэм хьэкътынхэхкIэ йоджэ), IэпщIэлъапщIэхэр - абыхэм я лэжьыгъэм фIэкIа нэгъуэщI Iуэху яIэкъым, сыту жыпIэмэ я щIакхъуэ Iыхьэр аращ къызэралэжьыр, Закхей зи цIэ зызыгъэуэркъыр, адрейхэм къатрихкIэрэ «ахъшэ зыщIыр». Ахэр псори диным пэIэщIэ цIыхухэщ. Ауэ абыхэми Хьисэ къацIыхуащ! Дауэ къэхъункIэ хъуа ар? Абыхэм ящIэрт зэрыгуэныхьщIакIуэхэр, я гъащIэр зэрымытэмэмыр. Ауэ, мис, къэкIуащ КъегъэлакIуэр, гуэныхьщIакIуэхэр Тхьэм и бын зыщIхэр, икIи абыхэм Ар занщIэу я фIэщ хъуащ.

         Хьисэ къыщIэкIуар цIыху динщIэкъухэр нэхъри нэхъ динщIэкъу ищIыну аракъым, атIэ гуэныхьщIакIуэхэр лIэныгъэмрэ жыхьэнмэмрэ яIэщIихыурэ, къригъэлу, ахэр Тхьэм и бын ищIын папщIэщ. Мыпхуэдэу егупсыс цIыхуи щыIэщ: «Сэ си фIэщ хъуркъым, сыту жыпIэмэ диныгъэ схэлъкъыми», абыхэм мыр яжесIэфынущ: «Фэ Iэмал псори фиIэщ, Тхьэм и бын фыхъун папщIэ!» Дэ псоми дощIэ  дызэрыгуэныхьщIакIуэр, ауэ «Хьисэ дэр щхьэкIэ зэрылIар!» Иджыри къытызогъэзэж: «Хьисэ къыщIэкIуар дин зыIыгъ цIыхухэр нэхъри нэхъ динщIэкIу ищIыну аракъым, атIэ гуэныхьщIакIуэ кIуэдхэр Тхьэ псэум и бын ищIын папщIэщ!»

 

б) ...Сыту жыпIэмэ я фIэщ ящIыну хуейкъым

         ЕтIуанэ гупым хохьэ я фIэщ яхуэмыщIу жызыIэхэр, ауэ ипэжыпIэкIэ, ахэр икIэм нэсу цIыху пэжу щытатэмэ, ауи я фIэщ ящIыну зэрыхуэмейр жызыIэн хуеяхэр. Абыхэм я фIэщ ящIауэ щытатэмэ, я псэукIэр зэрыщыту яхъуэжын хуей хъунут. Мис ар ящIэну хуэмейуэ аращ ахэр ... Абыхэм ящIэ я гъащIэр зэрымытэмэмыр. Тхьэм и бын хъуауэ щытатэмэ, ар сэтей къэхъунут, къыщIэщынут. Хьэуэ, апхуэдэм ахэр хуейкъым. Апхуэдэу хъуауэ щытамэ, я лэжьэгъухэр къащыдыхьэшхынкIэ хъунут! ИтIанэ ахэр зэуэ чыристану къыщIидзауэ дощIри, я благъэхэм, Iыхьлыхэм лIот жаIэнур? Хьэуэ, абы хэмыхьэххэмэ нэхъыфIщ! Аращи, я фIэщ яхуэмыщIу жызыIэ цIыху фарихьэлIэмэ, нэхъ гупсэхуу факIэлъыплъ, я фIэщ ящIыну хуэмейуэ жаIэмэ, мынэхъыфIу пIэрэ абыхэм?!

         Библием укъызыщIэзыIэтэ хъыбар гуэр къеIуэтэж. Тхьэм и Къуэр, Зиусхьэн Хьисэ, Елеон бгым и щыгум тесщ. Абы и гупэкIэ, псыхъуэм, дыгъэ бзийхэм пэлыду, Ерусалим къалэр дэтщ. Жыжьэу бгы къыщолъагъуэ - абы щхьэкIэ езы мажусий дыдэхэми жаIэу щытащ ар дунейм нэхъ телъыджэу тетхэм хэбгъэхьэ хъуну. Мис а псор Абы и пащхьэ къилъщ. Ауэ Абы и гъуэгу ирикIуэхэр къэуIэбжьащ, Хьисэ и нэкIум нэпсхэр къежэхыу щалъагъум. ЯгъэщIагъуэу икIи къагурымыIуэу йоплъ ахэр Абы. Абы щыгъуэ Хьисэ Мэссихь жеIэ: 

-              Ерусалим, Ерусалим, бзум и шырхэр и дамэ щIагъым зэрыщызэхуишэсым хуэдэу, уэ уи бынхэри сэ зэхуэсшэсыну сыт хуэдизрэ сыхуея, ауэ фэ фыхуеякъым! АтIэ, фи къалэм Тхьэм нэфIкIэ къеплъыжынукъым. Хьэкумыр къыфпэщылъщ. МывитI зэтелъу къыщызэтенэнукъым мыбы, псори зэтекъута хъунущ. 

Мыр Библием ит нэхъ псалъэ телъыджэхэм ящыщ зыщ: 

-              Ауэ фэ фыхуеякъым! 

Ерусалим дэсхэми жаIэу щытащ: 

-              Ди фIэщ тхуэщIыркъым!» - ауэ абыхэм я фIэщ ящIыну хуэмейуэ арат!           ВжесIэн хуейщ мыр: зи фIэщ зыщIыну хуэмейм иремыщI. Члисэхэм иджыри щыхагъэзыхь, щрахулIэ щыIэщ. Ауэ Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щIэтыр езыхэм яфIэфIу кIуарщ. Зыгуэр тхьэншэу псэуну хуеймэ, апхуэдэу ирепсэу! Тхьэм Езым сыкъафщтэ жеIэ, ауэ дэ Ар къэдмыщтэнуи дыхуитщ. Фыхуей тхьэншэу фыпсэуну? Фыпсэу! Тхьэм фемылъэIуу фыпсэуну фыхуей? Фыпсэу! Библиеншэу фыпсэуну фыхуей! Фыпсэу! Тхьэмахуэ махуэ лъапIэр вгъэлъэпIэну фыхуэмейрэ, зинэ фщIэну фыхуей, фефэну, пцIы фупсыну, фыдыгъуэну? ФызэрыфIэфIщ! ГуэныхьщIакIуэхэр къригъэлыну Тхьэм къигъэкIуа КъегъэлакIуэр къилъытэну зыгуэр хуэмеймэ, абы ар имыдэну хуитщ. Жыхьэнмэм кIуэну хуейIамэ, зыри пэувыркъым! Тхьэм хэгъэзыхь ищIэркъым, ауэ зыгурывгъаIуэ иужькIэ къэхъуну псори фэ фи пщэ зэрыдэфлъхьэжыр. Тхьэм ХьисэкIэ гуэныхьыр фхуигъэгъуну, мамырыгъэ къыфхилъхьэну хэтщ. Фэ жыфIэ хъунущ: «Сэ абы сыхуэныкъуэкъым, сэ абы сыхуейкъым!» Абы щыгъуэ фызэрыхуейуэ фыпсэу! Ауэ къызыфIэвмыгъэщI, фылIэн и пэ, фи гъащIэм и иужьрей дакъикъитхум, Тхьэм фи гъащIэ псом и кIуэцIкIэ къыфхуигъэлъагъуэу щытар зыIэрывгъэхьэфыну. Тхьэм ХьисэкIэ фекIужыныр фымыдэну фыхуитщ, ауэ абы щыгъуэ Тхьэм фемыкIужауэ игъащIэкIэ фыпсэун хуей хъунущ. Аращ езыр жыхьэнмэ хъужыр!          Жыхьэнмэр, ипэжыпIэкIэ, Тхьэр нэсу IэщIыб щыфхуэщIын щIыпIэщ. Абы дяпэкIэ зэи зыми фэ фригъэблэгъэжынукъым. Абы фыкъришыну зыри къывэджэнукъым. Абы Тхьэм фыщелъэIуну хуей фыхъункIэ хъунщ, ауэ ар фхузэфIэкIыжынукъым. Абы Хьисэ и цIэкIэ феджэну фыщыхуеинкIи хъунущ, ауэ Ар афIэкIа фи гум къэкIыжынукъым. Сэ вжесIэ хъыбарыр фи тхьэкIумэ ивмыгъэхьэну фыхуитщ. Хьисэ зыхуэвмыгъазэми, хъунущ, ауэ зыгурывгъаIуэ абыкIэ фэ жыхьэнмэр къызэрыхэфхыр! Сыт фыхуейми, фыхэдэ, абыкIэ фэ фыхуитыжщ! «Ауэ фэ вдакъым!» - яжриIащ Хьисэ Ерусалим дэсхэм. Абы ахэр хигъэзыхьакъым. Ауэ абыхэм къыхахар узижэгъуэнт!

 

в) ... сыту жыпIэмэ абыхэм я нэгу куэдыIуэ щIэкIащ

 

         Ещанэ гупым, я фIэщ яхуэмыщIу жызыIэхэм, нэхъыбэу хыхьэр цIыхухъухэрщ. Абы щхьэусыгъуэу къагъэувыр гъэщIэгъуэнщ. ЦIыхубзхэм апхуэдэ жаIэу срихьэлIакъым. Мыращ абыхэм я тегъэщIапIэр: 

-              Зиусхьэн дин пашэ, сэ апхуэдизу си нэгу куэд щIэкIащи, си фIэщ зыри хъужыркъым! 

-              Сыт апхуэдэу фи нэгу щIэкIар? - соупщ абыхэм. - Сэ си гъащIэри зэшыгъуэу щытакъым! 

-              Аращ ... апхуэдиз си нэгу щIэкIащи, афIэкIа си фIэщ схуэщIыжыркъым!

ИкIи мис а гупсысэр цIыхухъухэм нэкъыфIэщIым хуэдэу яхэлъщ.

Абыхэм сащIэнакIэурэ мыр яжызоIэ: 

-              Автобусхэр зэрызекIуэ схемэу ягъэувар фи фIэщ хъуркъэ? Полицэм къывжаIэIамэ фи фIэщ хъуркъэ? 

-              Мэхъур! 

-              АтIэ афIэкIа зэи къызжевмыIэ, зыри фи фIэщ мыхъуу, жыфIэ автобус зэрызекIуэ схемэу ягъэувамрэ полицэм жиIэмрэ фIэкIа нэгъуэщI фи фIэщ мыхъуу. 

Абы иджыри къыпыпщэ хъунущ, фэ къызэрывгурыIуэщи. АдэкIэ сэ пызощэ: 

-              Плъагъуркъэ, сэ си гъащIэ кIыфIым, гуэныхькIэ, мыкъабзагъэкIэ, кIыфIыгъэкIэ, щыуагъэкIэ гъэнщIам, Хьисэ къыхыхьащ. Сэ къызгурыIуащ: Ар Тхьэм и Къуэщ, Тхьэм Езым къигъэкIуауэ. ИкIи си гъащIэр сэр щхьэкIэ апхуэдиз зылэжьым - Хьисэ - IэщIэслъхьащ. ИкIи фэри, пэж дыдэу, зыри фи фIэщ мыхъужу фыкъэнами, Ар фи фIэщ фщIы хъунущ.

         Аращ, Ар хъунущ фщIы фи фIэщ. Фэ Iэджэ фи фIэщ фощI, зэрыщыту дзыхь зыхуэпщI хъуну, абыкIи зыри зыхущIемыгъуэжа Закъуэм нэмыщI. Фэ жывоIэ: «Хьэуэ! Ар дыхьэшхэныIуэщ!» ИтIани жывоIэ фи нэгу куэд щIэкIауэ. Хьэуэ, ирикъун хуэдиз щIэкIакъым фи нэгу иджыри.

 

г) ... сыту жыпIэмэ зыгуэр лъэпощхьэпо къахуохъури

 

         Зи фIэщ зыхуэмыщI еплIанэ гупыр нэхъ цIыху зэпIэзырызхэщ. Абыхэм я фIэщ щIахуэмыщIу жыхуаIэр е члисэр, е члисэм зыщыхурагъаджэр лъэпощхьэпо къахуохъури, аращ.

Зы студент хъыджэбз ныбжьыщIэ гуэрым зыкъысхуигъэзащ:  --

-              Зиусхьэн дин пашэ, сэ дыкъызыухъуреихь дунайм теухуа щIэныгъэхэр содж икIи, уи лекцэхэм ящыщ зы седаIуэ пэтрэ, уи деж щIэныгъэ гуэрхэр къыщысщIэмэ, сфIэфIу сыхъуащ, ауэ си фIэщ схуэщIыркъым. ПщIэрэ, а догмэ псори члисэм и ухуэкIэу щытри си дежкIэ мыхъунщ. Ахэр къабыл пщIынри мэкъу гъущэ IэплIакIуэ ебгъэлъэтэхынри зыщ!

 Сэ сыдыхьэшхри жысIащ: 

-              Мэкъу гъущэ IэплIакIуэ щIебгъэлъэтэхын щыIэкъым! Хьисэ и хъыбар зэхэпхагъэххи уэ? 

-              «НтIэ,» - жиIащ абы. »Хьисэ пцIыупсу щытащ, жысIамэ, ар уи фIэщ хъунут? 

-              Хьэуэ, хъунутэкъым си фIэщ!» - къызитыжащ абы жэуап. 

Сэ адэкIэ пысщащ: 

-              АтIэ, хъыджэбз, нэгъуэщI зыгуэрми щхьэкIэ пхужыIэну абы зэи пцIы имыупсу? 

-              Хьэуэ, - жиIащ абы, - ар сэ зым щхьэкIи схужыIэну къыщIэкIынкъым. 

-              Плъагъуркъэ, хъыджэбз, уи фIэщ мэхъури. Уэ Хьисэ дзыхь зэребгъэзыр наIуэ къэпщIащ. Ар хъарзынэщ! Аращ псори къыщыщIидзэр. Абы пэж жеIэ. Библием итщ Тхьэм къигъэкIуа Хьисэ Мэссихь зыдэхэм  мыкIуэдыжын гъащIэ яIэну. Уэ члисэм и догмэхэмрэ и ухуэкIэхэмрэ хууиIуэху щыIэкъым. Ауэ гъащIэм и пшапэм къыхэкIауэ уи дежкIэ Зы къокIуэ. Нэхъ гъунэгъу къэхъуху нэхъ IупщIу къыболъагъу гъущI Iунэхэмрэ пыжьей банэ ухуэнамрэ ящIа уIэгъэхэр - ахэр и щыхьэтщ Абы уи гуэныхьхэр Езым зытрилъхьэжу, уэ игъащIэм зыми укъызэримылъэгъуам хуэдэу Абы фIыуэ укъызэрилъэгъуам. Уи нэм щIыIуху телъыр трырекI, Хьисэ уеплъурэ мыр жыпIэфын хуэдэу: «Си КъегъэлакIуэ! Си Зиусхьэн икIи си Тхьэ!» Уи фIэщ хъуным къикIыркъым догмэхэр мэкъу гъущэм хуэдэу ебгъэлъэтэхын хуейуэ, уи фIэщ хъуным къикIыр - Хьисэ Мэссихь къэпщтэныр аращ!

-              Си фIэщ щIысхуэмыщIыр дин пашэхэр, дин пашэхэм...» жиIащ зыгуэрым икIи мис абдеж щIагъэлъэлъу щIадзэ. Дин пашэхэм ятеухуауэ сэ хъыбар Iэджэ зэхэсхащ. Зыгуэрым щIасэ иIэу щытащ. Адрейр кассэм хэIэбащ. ДэнэкIэ уIэбэми, дин пашэхэм зыгуэр къаIэщIэщIащ. «Аращ афIэкIа си фIэщ щIэмыхъужри!» Сэ сыкъоуцIыплъ, зызоцIыхужри. Сэ кассэкIэ сыкъимынами, абы щхьэкIэ къэмынэу цIыхухэм сыкъацIыхуу щытамэ, абыхэм сэ зыгуэру сакъыщыхъунут. Ауэ сыт абы теухуауэ жыпIэ хъунур? АтIэ фыкъэдаIуэт мыдэ: Библием зыщIыпIэ дежи иткъым: «Уи дин пашэхэр уи фIэщ щIыи, укъелынущ!» - жиIэу. Абы итыращ: «Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь уи фIэщ щIыи, укъелынущ!» Дауи, дин пашэ псори я къалэн ягъэзащIэм хуэфащэкъым, ауэ дин пашэр зэбгъэщхь хъунур Хьисэ хуэкIуэ гъуэгур уэзыгъэлъагъу гъуэгугъэлъагъуэ дамыгъэщ. Дэ ди дежкIэ шынагъуэу щытын хуейкъым а гъуэгугъэлъагъуэ дамыгъэр тIэкIу бгъунлъами, Iушэ хъуами, уэшхыпсым трихами. Нэхъыщхьэр здигъэлъагъуэ лъэныкъуэр хэплъагъукIынырщ. Сэри седэIуэнтэкъым дин пашэм, ар Хьисэ, жорым кIэраIулIэу лIахэм къахэтэджыкIыжа Тхьэм и Къуэм, и гъуэгугъэлъагъуэу щымытмэ. Гъуэгугъэлъагъуэ дамыгъэм сыхуэгубжьу сыщытыну-тIэ, си гъуэгу адэкIэ хэзгъэщIынущ, си мурадым сыхуэкIуэнущ. А мурадыр мыращ: «Хьисэ къэкIуэнущ - Тхьэм и нэфI щыхуэныгэр къызыхэкIыр!» Ярэби, къемэт махуэм Тхьэ псэум и пащхьэ мы псалъэхэр жыфIэу фиувэну зывгъэхьэзыру пIэрэ: «Зиусхьэн, сэ Уэ уи нэфI щыхуэныгъэр здакъым, сэ си гуэныхьхэр сщхьэщыпхынути, здакъым, сыту жыпIэмэ ди дин пашэр зыри хъунутэкъыми». Аращи, зэгуэр Тхьэм и пащхьэ фихьэну фыхуей? Хьэуэ, ныбжьэгъухэ, пэжкъым фэ фи фIэщ фхуэмыщIыр! Хьисэ мыхьэнэшхуэ зиIэ мы псалъэхэр къыжьэдэкIащ: «Тхьэр зыхуейр зыщIэну хуейм зэхищIыкIынущ цIыхухэм сэ езгъашIэ псалъэхэр Тхьэм къыбгъэдэкIми сэ къызбгъэдэкIми.» Псори зэлъытар жыIэдауагъэмрэ си гъащIэм и кIуэцIкIэ къызгурыIуа мащIэм и гъэзэщIэнымрэ къыщIэздзэну сыхуейрэ сыхуэмейрэщ. АдэкIэ сэ япэкIэ сыкIуэцIрыкIын щIэздзэнущ.

 

4. Уи фIэщ пхуэмыщIмэ, сыт пщIэнур?

 

                         Мыр сэ псалъэ зытIущу ныфхуэсIуэтэнущ.

 

а) Тхьэм нэху щхьэкIэ фелъэIу!

Ар фэ къывбгъэдэтщ. ЖефIэ Абы: «Зиусхьэн,  фIэщхъуныгъэм сыхуэшэ! Уи нэхур сыгъэлъагъу!» ИкIи Абы зэхихынущ!

 

б) Тхьэр дапщэщи зэрыщыIэр Iуэхум къыхэфлъытэ!

         Хьисэ дапщэщи тщIыгъущ! ЩыжефIэ Абы щымыгъэм: «Хьисэ, си гъащIэр Уэ птезухуэну сыхуейщ!» Сэ апхуэдэу сщIащ, тхьэншэ щытыкIэм ситу ТхьэмкIэ шынагъэ къысхыхьэу абы и ужькIэ Хьисэ и хъыбар щызэхэсхам щыгъуэ.

 

в) Библием феджэ!

         Махуэ къэс сыхьэт плIанэ Хьисэ и закъуэу фыщIыгъу. Библием феджэурэ Тхьэм къывжиIэну зыхуейр зыгурывгъаIуэ. Фи акъыл хэвгъэхьэурэ феджэ! ИтIанэ тхьэлъэIум деж зэращIым хуэдэу фи Iэхэр зэгуэфлъхьи, жыфIэ: «Хьисэ, сэ Уэ куэд бжесIэн хуейщ. Си гъащIэр тэмэм схуэщIыркъыми, къыздэIэпыкъу!»

 

г) ФIэщхъуныгъэ зиIэхэм фахэт!

         Фэ фэщхъу чыристан нэс хъуну хущIэкъу цIыхухэм фахэт! Щхьэ закъуэу зыкъэвмыгъанэ! Уафэм кIуэ гъуэгум щхьэ закъуэ гъуэгурыкIуэ ущрихьэлIэркъым! А гъуэгум тет адрей чыристанхэм фазэрыщIыгъуным фыхэт!

 

 

 

КЪЫТIЭЩIЭЩIЭХЭМРЭ ДЫЗЫХУНЭМЫСАХЭМРЭ

ДЫЩIАГЪЭНАУЭ,

ДАУЭ ГЪАЩIЭМ ДЫЗЭРЫПЭЛЪЭЩЫНУР?

 

Мыр упщIэ тыншкъым. Пэж дыдэу, дымыщIапхьэ гуэр зэпымыууэ къытIэщIощIэ е тщIэн хуей гуэр дыхунэмысу къыдогъанэ. Абы къыхэкIыу сэ сынасыпыфIэщ цIыхухэр кIэншэу насыпыфIэ икIи бей зыщI тыгъэ иныщэм икIи дахащэм сытепсэлъыхьыну Iэмал зэрызиIэмкIэ. А зи гугъу сщIы хьэпшыпхэр зышIыпIи, дунейм и зы къэрали къыщыпхуэщэхунукъым. Фымиллиардеру икIи ахъшэу фиIэр зэрыщыту абы щIэфтыну фыхьэзыру тщIынщи, итIани ар къыфхуэщэхунутэкъым. Благъагъэ-цIыхугъэкIи  къыфхудэхынукъым ар. Мы ди зэманым къыпхуэмыщэхур цIыхугъэкIэ къагъуэтыф хабзэщ. Ауэ мы хьэпшыпыр уи щхьэкIэ къызэрыбгъуэтыфын Iэмал щыIэкъым. Ар тыгъэу къуатынкIэ хъуну аращ, нэгъуэщIу бгъуэтынукъым. А зи гугъу сщIыну сызыхуей хьэпшып телъыджэм, икIи къыпхуэмыщэхунум, икIи цIыхугъэкIэ къыпхудэмыхынум зэреджэр гуэныхьхэр къыпхуэгъуныгъэщ.

                          Сэ сощIэ, мыр зэхэзых куэдым я Iупэхэр къыIуагъэпкIынщ:

«Гуэныхьхэр къыпхуэгъуныгъи?» ИкIи абдеж мыпхуэдэ упщIэ къоув:

 

I. Сыхуэныкъуэу пIэрэ сэ абы?

 

   Сэ шэч къытесхьэркъым фэ фи щIылъэныкъуэм гуэныхьхэр къыхуэгъуным хуэмыныкъуэу зэрыжаIэнум. ЩIалэщIэ гуэрым зы махуэ мыр къызгуригъэIуащ:

-              Дэ дызыщыпсэу мы зэманым рекламэкIэ зыхуейхэм дыдрагъэхьэхыф.

Ди адэхэм я адэхэм зыри хащIыкIыу щытакъым сагъызхэм е сигаретхэм. Рекламэ телевиденэрэ радиокIэ къатурэ, афишэу къыфIадзэурэ дыкъыхураджэ, псалъэм папщIэ, сигаретыншэу гъащIэр къэбгъащIэ мыхъуну. Мис апхуэдэу япэщIыкIэ дебгъэхьэхмэ, итIанэ сытри пхуэщэнущ!

АдэкIэ щIалэщIэм пищащ: 

-              Члисэми аращ ищIэр. Абы цIыхухэм я гуэныхьхэр къыхуэгъуным хуэныкъуэу яхепщэ, итIанэ абы иросондэджэр. КъывгурыIуэрэ, абы дэ зыкIи дыхуэныкъуэкъым, ауэ фэ ар къытхывопщэ, фи хьэпшыпыр итIанэ фщэн папщIэ!

Арауэ пIэрэ зэрыщытыр? Иджыпсту уэрамым япэу узрихьэлIэр къыщыбгъэувыIэрэ мыпхуэдэу зыхуэбгъазэмэ: 

-              Уи  махуэ фIыуэ! Хэт уэ уи цIэр?  

-              Майер!

-              Зиусхьэн Майер, уэ гуэныхьыр къыпхуагъуным ухуэныкъуэ?» Зиусхьэн Майер жэуапу къывитынур мыращ: 

-              Делагъэщ! Сэ сызыхуейр гуэныхь къысхуэгъуныркъым, марк 2000-щ!

 Аракъэ зэрыхъунур! ЦIыхур иджыпсту зыхуэмыныкъуэм къыхуебджэфыну, Библиер абыкIэ тегъэщIапIэ пщIыкIи?

         КъыжысIэн хуейщ мыр зэрыщыуагъэшхуэр, зэрыщыуагъэ шынагъуэр. Дэ иджыпсту гуэныхьхэр къытхуэгъуным нэхъ дызыхуэныкъуэ зыри щыIэкъым! Гуэныхь къыхуагъэгъуным хуэмыныкъуэу егупсысхэм Тхьэ лъапIэр икIи шынагъуэр яцIыхуркъым. Тхьэм и лъагъуныгъэм теухуауэ апхуэдизкIэ куэд жаIащи, дэ зыри хэтщIыкIыркъым Тхьэр, Библием зэрыжиIэмкIэ, зэры-Тхьэ шынагъуэм. Сэ, мис, зэгуэр гуэныхькIэ згъакIуэу щыта гъащIэм сыкъыщызэщури занщIэу нахуэу къызгурыIуащ Тхьэм щышынэн зэрыхуейр! Гуэныхь къыхуэгъуным хуэмыныкъуэу жызыIэм зыри хищIыкIыркъым Тхьэ псэум пкъыри псэри жыхьэнмэм зэрыхидзэфынум. Аращи, ипэжыпIэкIэ, игъащIэкIэ ухэкIуэдэнкIэ хъунущ! Ар Хьисэщ жызыIэр, Абы ещIэ Iуэхур зытетыр. ИкIи дуней псом ар и фIэщ мыхъуу жиIэмэ, абы къикIыр дунейр зэрыщыту кIуэдыну аращ! Дэ тщыгъэпщкIуахэми Хьисэ щыгъуазэщ. Абы дэ емышыжу дигу къегъэкIыж кIуэдыпIэ зэрыщыIэр! ИтIани  дэ ди гуэныхьхэр ттелъ пэтми, жытIэну  дытогушхуэ гуэныхьхэр къытхуэгъуным дыхуэмыныкъуэу, члисэм дэ дызыхуэмыныкъуэ гуэрым дыкъыхуриджэ хуэдэу. Сыту делагъэ! Зыми дыхуэныкъуэкъым дэ, гуэныхьхэр къытхуэгъуным дызэрыхуэныкъуэм  хуэдэу!

Сэ зы хъыбар кIэщI ныфхуэсIуэтэжынщ. Сэ къысхуихуащ  Цюрих къалэ дахащэм Хасэ щрагъэкIуэкI и унэм зэIущIэ зэгуэр  щезгъэкIуэкIыну. Ар зэIущIэшхуэт. Куэдым тIысыпIэр яхурикъуатэкъыми, ахэр блынджабэхэм зрагъэкъуауэ зэхэтт. Абыхэм яхэслъэгъуащ нэжэгужэу зэдэуэршэр лIитI. Нэрылъагъут ахэр зэштегъэууэ къызэрыщIыхьар. А тIум я зым жьакIэ дахэ цIыкIу тет. Ар сигу къыщIинар сэ езым апхуэдэ жьакIэ згъэкIыну Iэмал зэрызимыIэм къыхэкIыу абы сехъуэпсауэ зэрыщытарщ. Лекцэм щIэддза нэужь, сэ мурад сщIащ ахэри къыдэсхьэхыну. Хуабжьу яфIэгъэщIэгъуэну къызэдаIуэхэрт. Ауэ, мис, япэ дыдэу гуэныхь гъэгъуным сынэсри а напIэзыпIэм гу лъыстащ жьакIэ зытет зиусхьэныр ауаныщIу пыгуфIыкIыу и гъунэгъум  и тхьэкIумэм зэрихъуцэцам. Сэ зэхэсхакъым абы жиIар, ауэ и зыщIыкIэмкIэ  къызгурыIуащ. Абы и ауаныщI плъэкIэм мырат къикIыр: «Гуэныхьхэр къыпхуэгъуныгъэ! Ар дин пашэхэм куэдрэ къапсэлъ делагъэщ! Къигъуэтащ жиIэн!» ИкIи абдеж ар мыпхуэдэу егупсысагъэнщ: «Сэ сыщIэпхъаджащIэ-тIэ?! СыткIи сыхуэныкъуэ гуэныхь къысхуагъэгъуным?» Ар дыдэр фэри жывоIэ, пэжкъэ? «Сэ сыщIэпхъаджащIэкъым! Гуэныхь къысхуэгъун хуейуи сыхуэныкъуэкъым!» - аращ, хуэгъэфащэмэ, абыи жиIар. Абдеж сэ сыкъэгубжьащ. Сэ сощIэ Тхьэм и пащхьэ укъыщыгубжь зэрымыхъунур. Ауэ абы щхьэкIэ къэмынэу, губжьым сызэщIиубыдащ. 

-              Зы дакъикъэкIэ фыкъэдаIуэт! - жысIащ сэ. - Сэ иджыпсту зы дакъикъэ ныкъуэкIэ зэпызгъэунщ си псалъэр, фэ а зэманым къриубыдэу фэр-фэру жэуап зэфтыж мы сызызэрывэупщIынумкIэ: «Фэ игъащIэкIэ фыхуэмейуэ гуэныхьхэр къыфхуагъэгъуным фыпыкIрэ, абы фызэрыхуэмыныкъуэм къыхэкIыу? ФыпыкIрэ хьэмэрэ фыпымыкIрэ?

Абы и ужькIэ цIыху зыщIэз залышхуэр щым хъуащ. Зиусхьэн жьакIацэм и фэр пыкIри, уеблэмэ блыным зригъэщIащ. АпхуэдизкIэ къэшынат, тхьэмыщкIэр! Абы жиIэну хуейуэ къыщIэкIынт мыпхуэдэу: «Сэ сыщIэпхъаджащIэкъым! Ауэ лIэныгъэм Iуэхур нэсмэ, Iуэхур куу хъууэ щытмэ, дауэ щытми, сыхуейт гуэныхьхэр къысхуэгъуну. Абдеж абы сыхуэмейуэ схужыIэнукъым». Фэри ара? Хьэмэрэ фыхуэмеиххэрэ зэи?

         Зы псэлъафэ щыIэщ, си гъащIэм къриубыдэу куэдрэ зэхэсхауэ. Ар мыращ: «Сэ сызахуэщ икIи зыми сыщышынэркъым!» Ауэ ар илъэс 40 нэхърэ нэхъыщIэхэм жаIэу срихьэлIакъым. Зи ныбжькIэ щIалэм фIыуэ ещIэ и гъащIэм мыхъумыщIагъэ куэд зэрыхэтыр. Уи напэ зыкIи мысу, умыукIытэу ущытын хуейщ, апхуэдэ пцIы нахуэ бупсын папщIэ! «Сэ сызахуэщ икIи зыми сыщышынэркъым!» - жиIэу зыгуэрым жиIэмэ, сэ ар хуэздэркъым: «Уэ илъэс 40 нэхърэ нэхъыбэ уи ныбжьщ, щыгъупщэх ухъуащ, аращ апхуэдэу щIыпхужыIэр. Уи напэр пщыгъупщэжащ Уэ!» Ди напэр дымыщэжмэ, дэ фIы дыдэу къыдгуроIуэ гуэныхьыр къытхуэгъуным нэхъ дызыхуэныкъуэ зэрыщымыIэр!

            Илъэс зыбжанэ и пэкIэ Эссен зыкъыщигъэлъагъуэрт «иджырей» музыкант Билл Хейлли, е нэхъ пэжу жыпIэмэ, «зыкIэщIэшакIуэ» гуэрым. Абырэ абы и эстраднэ ансамблымрэ едэIуэн щхьэкIэ, залышхуэм щIалэ, хьыджэбз минхэр щызэхуэсат. Ауэ япэ уэрэдыр къызэрыхадзэу щIадзэри хуэм-хуэмурэ залыр зэтракъутэу хуежьащ.

Маркэ мин 60 халъхьэжын хуей хъуащ а концертым фейдэ къыпызыхыну зи гугъахэм. Зы полицей щIалэ гуэрым иужькIэ къызжиIэжауэ щытащ: «Сэ ипэмкIэ систи, си фIэщкIэ шэнтым зытескъузэн хуей хъуащ, а зэтекъутакIуэхэм сахэмыхьэн папщIэ».

КъыкIэлъыкIуэ махуэм, къалэ уэрамым срикIуэу, сэ къэслъэгъуащ щIалэщIищ зэбгъэдэту щыту - я теплъэкIэ мыхэри а залым щIэсауэ фэ ятетт. Сабгъэдыхьащ абыхэм: 

-                     Фи махуэ фIыуэ! Сэ шэсыпIэ сихьэнщ, фэри дыгъуэпшыхь Билл Хейлли федэIуауэ!

-                     Пэжщ, зиусхьэн дин пашэ! 

-                     КъызэрыщIэкIымкIэ, дэ дызэроцIыху, - жызоIэ сэ, - ар хъарзынэ гуэрщ! КъызжеIэт, апхуэдэу щхьэ зэтефкъута? КъызгурыIуэркъым ар къызыхэфхар. 

ИкIи жэуапу мыр зэхызох: 

-                     Дин пашэ Буш, ар хэкIыпIэншагъэ къудейуэ аращ! 

-                     Сыт жыфIа? - сыщIоупщIэ сэ, - хэкIыпIэншагъи? Сытым къыхэкIа ар?  

-                     Дэ езыми тщIэжыркъым ар, - къызатащ жэуап.

         Данием щыщ теолог икIи философ ин Киркегаард и гъащIэм теухуауэ жиIэжыгъащ щысабийм щыгъуэ и адэм щIыгъуу абы куэдрэ къикIухьу зэрыщытар. Языныкъуэхэм  деж и адэр зэщIэувыIыкIырт, хэгупсысыхьауэ абы къеплъурэ, жиIэрт: «Си сабий цIыкIу, уэ узэхэуфауэ фэ птетщ, зыгуэр къохьэлIэкI хуэдэу». Дин пашэу къулыкъу зэрысщIа илъэс 40-м къриубыдэу сэ куэдрэ сыхуэзащ апхуэдэу зэхэуфахэм, цIыхухэм зыгуэр къатехьэлъэу зэрыщытым. Иджы фэ сынывоупщI: фэ фи нэIуасэ апхуэдэ щытыкIэр - гъащIэм зыгуэр къыщыптехьэлъэу щытыным? ЩапхьэкIэ къэзгъэлъэгъуэнщ апхуэдэ къыщIэхъур.

         Рур и Iэшэлъашэхэм сыщыдинпашэу, сэ куэдрэ шахтэм сехырт. Ар куэду гъэщIэгъуэнщ. Щыгъын щхьэхуэ щыботIагъэ, шлемыр щхьэрыботIагъэри зыIэт хъарымкIэ и щIагъым уолъэтэх еянэ горизонтым нэс, языныкъуэхэм деж нэхъ кууужу. Ауэ пэжщ, нэхъ куууэ еххэркъым, сыту жыпIэмэ и лъабжьэ дыдэр «шэдщ». Абы щызэхуожэс шахтэм къыпхыж псыхэр, абы шахтерхэр «шэдкIэ» йоджэ. Эссен сызэрыщыпсэуа зэманым зэгуэр мыр къэхъуауэ щытащ: кIапсэ гъумыр зэпычри хъарыр и лъабжьэм ехуэхащ, «шэдым» хэхуэу. Ар узижэгъуэнт!

         Сэ зэзгъэпщэну сыхуейщ шахтэ шэдхэмрэ цIыхухэмрэ ... Дэ псори дыщыгъуазэщ ди гъащIэр къат зыбжанэу зэрызэтепщIыкIым. Дэ, псалъэм папщIэ, нэжэгужафэ зытегъэуэфынущ, ди кIуэцIкIэ зыгуэр дгъэвми. Е угуфIэ хъунущ, уигукIэ унэщхьейми. Фэ зытебгъэуэфынущ гъащIэм псори тынщ дыдэу къыщохъулIэ хуэдэу, абы щыгъуэми уигукIэ, уи псэкIэ пщIэнур умыщIэжу гузэвэгъуэм ухэту. Абы топсэлъыхь дохутырхэр, философхэр, психологхэр, психиатрхэр. Психиатр гуэрым къызжиIащ: 

-                     Уэ уеблэмэ уи нэгу къыпхущIэгъэхьэнукъым си кабинетым ныбжьыщIэу ныщIыхьэм я куэдагъыр!

Ауэ цIыхум я нэхъыбэм къафIэIуэхуу егупсысыркъым мыбы: дэнэ къыздикIыр хэкIыпIэншагъэмрэ шынагъуэмрэ, икIи ахэр зэрызыщхьэщагъэкIын Iэмалу ягъуэтыр фадэращ. Абы нэхърэ нэхъыфIкъэ, пэжым и нэгу ущIэплъэмэ?

         КъыпфIэщIынкIэ мэхъу цIыхум и гущIэ лъапсэм хэкIыпIэншагъэм абгъуэ зэрыщищIар ди лIэщIыгъуэм къызэIуаха хуэдэу. ГъэщIэгъуэныращи, Библием ар къыщIигъэщащ илъэс 3000 япэкIэ. «ЦIыхум и гур фэрыщIщ ... икIи хуабжьу зэIыхьащ», - итщ абы. Библием итщ абы и щхьэусыгъуэр. Абы щхьэусыгъуэ зыбжанэ къегъэлъагъуэ: гуэныхь дызэрыхэхуэ лъандэрэ Тхьэм дызэрыпэжыжьэр, сыту жыпIэмэ абы лъандэрэ, ипэжыпIэкIэ, дыщыпсэун хуеям дыщыпсэужыркъыми -  зи гугъу сщIыр Тхьэрщ! Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ дэ Тхьэ псэум и хьэкумыр ди гъащIэм къызэрыщхьэщытым дыщошынэ. Ауэ ди гум и хэкIыпIэншагъэм и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэу щытыр ди къуаншагъэрщ, Тхьэм и пащхьэ щыттелъ къуаншагъэрщ! Аращ ди гъащIэм и проблемэ нэхъыщхьэу щыту дэ езыр дызыпэмылъэщыжри! Дэ ар зыхыдощIэ!

ИкIи мис абы къыхокI ди гум хэкIыпIэншагъэ куу илъыр.

         Дыхуэныкъуэу пIэрэ гуэныхьхэр къытхуэгъуным? Шэч хэмылъу, дыхуэныкъуэщ! Гуэныхьхэр къытхуэгъуным нэхъ дызыхуэныкъуэ щыIэкъым!    Сыт гуэныхь хъужыр? Гуэныхьыр Тхьэм зыгуэркIэ пэIэщIэ зыпщIынырщ!  Дэ уеблэмэ гуэныхь ттелъ хьэзыру дыкъалъху. Щапхьэ къыфхуэсхьыну хуит сыфщI. Зауэр щекIуэкIым, Англием къыщалъхуа сабийм, дауи, дэ къыщIыдэбиин щхьэусыгъуэ нэмыцэхэм яIэтэкъым, ауэ итIани ар бий дызыпэщIэтхэм ящыщт. Дэри мис апхуэдэу Тхьэм и бий цIыхухэм дыхалъхуэ. ЩIэпхъаджэ тIэщIэщIэхэр блын хъуурэ, кIуэ пэтми, Тхьэм нэхъ пэIэщIэ дащI. Тхьэм къигъэува  унафэхэр зэпыдудыху, ар зы мывэу хоувэ а блыным. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, гуэныхьыр къэхъугъэ ябгэу щытщ.

         Иджыпсту вжесIэжын хуейщ гуэныхьыр къэхъугъэ ябгэу зэрыщытыр икIи дэтхэнэ гуэныхьри зэрыпхуэмыгъэзэкIуэжынур япэ дыдэ къыщызгурыIуам и хьыбар. Сэ адэ дыщэ сиIащ, сыт илъэныкъуэкIи  фIы дыдэу дызэхущыту,  сыткIи хъарзынэу дызэгурыIуэу. Зэгуэр экзаменым зыхуэзгъэхьэзыру ди унэм и ищхьэ къатым сытесу, ищIагъымкIэ къаджэ макъ къиIукIащ: 

-              Вильгельм!» - ар сэ си цIэщ. Си щхьэр къуэзгъэжри, си адэрат къызэджэри, сеупщIащ: 

-              Сыт къэхъуар? ПIэщIэгъуэ? 

Абы  жэуап къызитыжащ: 

-              Къалэм  сымыкIуэу хъунукъым. Си гъусэу унэкIуэну ухуейкъэ? ТIууэ узэгъусэмэ, нэхъ нэгузыужьщ! 

-              Хъуакъым, папэ, - сыкъекIиехащ сэ ищхьэмкIэ, - ауэ иджыпсту экзаменым ехьэлIа лэжьыгъэ гугъу гуэр сыпэрысщи, сыкъыбгъэдымыкIамэ, нэхъыфIт! 

-              АтIэ, апхуэдэу щыхъуакIэ, си закъуэ сыкIуэнщ», - жиIащ абы. 

Махуэ 14 дэкIри, ар лIащ. Дэ ди хабзэмкIэ лIар зыдэлъ бэныр унэм щагъэувырти, и къуэхэр чэзууэ абы бгъэдэст. Жэщ щымщ. Псори мэжей. Сэ си закъуэу пхьэмбейм сыбгъэдэсщ икIи абдеж зэуэ сигу къокIыж махуэ 14 япэкIэ си адэм щIыгъуу къалэм сыкIуэну къызэрызэлъэIугъар. Сэ хуэсщIатэкъым абы и лъэIур! Абы сеплъурэ жызоIэ: 

-              Iех, си адэ, иджыри зэ укъызэлъэIужатэмэ, километрищэкIэ ныздэкIуэ жыпIами, сыхьэзырт! 

Ауэ абы и жьэр иджы зэтрихыжынукъым. Мис абы щыгъуэ сэ къызгурыIуащ а си гущIыIагъэр  къэхъугъэ ябгэу икIи зэи ар схуэмыгъэзэкIуэжыну зэрыщытыр.

         Фэ дауэ феплърэ, ди гъащIэм къриубыдэу къытIэщIэхэмрэ дызыхунэмысхэмрэ дапщэ хъурэ? ГъащIэм дауэ дызэрыпэлъэщынур, зэпымыууэ зыгуэр къытIэщIэщIэу е зыгуэрым дыхунэмысу? Гуэныхьхэр къытхуэмыгъумэ, дыпэлъэщынкIэ Iэмал иIэкъым ди гъащIэм!

         ИтIанэ лIэныгъэм и Iуэхур дауэ хъуну? Фи къуаншагъэр зэрыщыту ахърэтым здэфхьу ара? Сэ куэдрэ си нэгу къыщIызогъэхьэ ар

зэрекIуэкIынур. ТIэкIу-тIэкIуурэ гъунэгъу сыхуохъу сэ абы. ФIыуэ плъагъум и Iэр быдэу пкъузауэ пIыгъынкIэ хъунщ, ауэ ар щыбутIыпщыжын хуей напIэзыпIэр къэунэхунущ. Си гъащIэ кхъухьыр щымыгъэ иным хэту Тхьэм и пащхьэм, Абы и нэгум есылIэнущ итIанэ! Фи фIэщ сыфщI, фэри зэгуэр Абы и пащхьэ фихутэнукIэ! КъыфIэщIэщIа псори, фызыхунэмыса псори фтелъу Тхьэ псэум и пащхьэ фиувэнущ! Ар сыт хуэдэу хьэлэчу щытыну - фи къуаншагъэ псори, фхузэфIэмыкIа псори фэ абы зэрызэдэфхьам гу лъыфтэжмэ!

         Дыхуейуэ пIэрэ гуэныхьхэр къытхуэгъуным? Дыхуейщ дэ абы, псом нэхъапэу, уеблэмэ щIакхъуэ Iыхьэм дызэрыхуейм нэхърэ нэхъыбэу.

 

 

2. Гуэныхьхэр къытхуэгъуныр дауэ зытIэрыдгъэхьа хъуну?                     

                

         БлэкIар зыщыбгъэгъупщэ хъуну пIэрэ? Хъунумэ, дапхуэдэ щIыкIэкIэ ар зэрыхъунур?

Сэ си адэм теухуа  хъыбар фхуэсIуэтэжа къудейщ. Абы и деж щыстелъ къуаншагъэр сэ зэи схуэгъэзэкIуэжакъым. Дэ къытIэщIэщIэхэр тхуэгъэзэкIуэжынукъым, пэжым ухуеймэ. Дэ Тхьэм и пащхьэ щыдлэжьа псори я пIэм къонэ тезырым пэплъэу. Иудэ зи цIэ лIы гуэрым езым и КъегъэлакIуэр дыжьын ахъшэ 30-кIэ ищэжауэ щытащ. ИкIи абы зэуэ къыгурыIуэжащ илэжьар зэрымытэмэмыр. Ар макIуэ КъегъэлакIуэр зрища цIыхухэм я деж, ахъшэ къаIрихар яретыжри, жеIэ: 

-         Сэ Iуэху Iей злэжьащ. Ахъшэр сIыфхыж! Сэ сыхуейщ Iуэхур згъэзэкIуэжыну! 

-Модрейхэм я дамэр драгъэуейри, жаIэ: 

-         Дэ сыт худиIуэху а жыхуэпIэм? Уэ езым хэхыж уи щхьэр! 

Хэт фыхуейми, зыхуэвгъазэ, псоми аращ къывжаIэнур: «Уи щхьэр уэ хэхыж!» Ауэ, апхуэдэу щытми, къуаншагъэхэмрэ щыуагъэхэмрэ зэрыбгъэзэкIуэж хъун Iэмал щыIэ? Дауэ ар зэрыпщIынур? Гуэныхь къызэрыпхуэгъур дапхуэдэ щIыкIэкIэ? 

         Си ныбжьэгъухэ, а упщIэм и жэуапыр фIэщхъуныгъэ зыхэлъ лIыхэм зэдэууэ БиблиемкIэ къыдат. И пэм щыщIэдзауэ и кIэм нэс, Пэсэрей ЗэгурыIуэныгъэм щегъэжьауэ ХъыбарыфIым щиухыжу, Библием и купщIэ нэхъыщхьэу кIуэцIрыкIыр мыращ: гуэныхь къыпхуэгъуныгъэр щыIэщ!  Дэнэ здэщыIэр? ФынакIуэ, сэ фысщIыгъуу Ерусалим и куэбжэм дыдэвгъэкIи, Голгофэ Iуащхьэм дывгъакIуэ. Гу лъыдмытэ зыдвгъэщI цIыху гуп зэхэтми, ижьырабгъумрэ сэмэгурабгъумрэ щыфIэдза хъунщIакIуитIми, рим сэлэтхэми – я кум дэт жорым кIэрыIулIа цIыхум и закъуэ ди нэр тедвгъэубыдэ. Хэт хъуну ар? Ар дэ тхуэдэкъым. Зэгуэр, цIыху куэдыкIейм яхэту, Абы жиIэгъащ: «Хэт сэ гуэныхь гуэр стелъу жиIэу сигъэкъуэншэфыну?» Зы гуэныхьи Абы телъу зыми хужыIакъым. Апхуэдэ упщIэкIэ цIыхухэм захуигъэзэну дэ тщыщ зыи тегушхуэнутэкъым. Абы щIэпхъаджагъэ ищIауэ жаIэри ягъэкъуэншащ рим хьэкумыщIэхэмрэ журт дин хасэшхуэхэмрэ, Абы пкърыупщIыхьащ, ауэ Ар къуаншэу къахущIэгъэкIакъым. Ар - дэ тщыщ языхэзкъым. Ар хуэныкъуэкъым гуэныхь къыхуэгъуным. ИтIани Аракъэ мобдеж жорым щIыфIэлъыр?!

         Хэт хъуну а цIыхур? Ар цIыхухэм я дунейм  къытекIакъым, Ар нэгъуэщI лъахэ, Тхьэм и дунейм, къикIащ. Сэ зи гугъу сщIыр  Хьисэщ, Тхьэм и Къуэрщ. АтIэ Ара жорым фIэлъыр? Сыт щхьэкIэ? Сыт и лажьэу? Си ныбжьэгъухэ,

Тхьэр захуэщ: Абы гуэныхьым тезыр тримылъхьэу хъунукъым. Апхуэдэу щыщыткIэ, Абы дэ ди гуэныхь псори Къуэм, Езым и Къуэм, трилъхьащ, икIи ди гуэныхьхэм щхьэкIэ Хьисэ жэуап ирегъэхь! «Ди дунейм и тезырыр Абы телът!» Ар  Библием щыщ хъыбар щэджащэщ: Тхьэм и хьэкумым Хьисэ иратащ, дэ дыкъелын папщIэ! Мис аращ здэщыIэр гуэныхьхэр къытхуэгъуныгъэр!

          Си гуэныхьхэм дэнэ закъыщезгъэлынур? Тхьэм дэнэ сыщекIуэжыфынур? Хьисэ и жорым  дежщ! «Хьисэ Мэссихь, Тхьэм и Къуэм, и лъым дэ сыт хуэдэ гуэныхьри ттрегъэкъэбзыкIыж». Ар ди акъылым нэсатэмэ, аратэкъэ! Америкэм тхылъ гъэщIэгъуэн къыщыдэкIащ, Виллиам Л. Гуль и IэдакъэщIэкIыу. Ар дин пашэт, цIыхухэр мелуан бжыгъэкIэ езыгъэукIа Адольф Эйхман тутнакъэщым щисым, абы пщыкIущрэ епсэлъат. Ар абы кIыхьу дэуэршэрырт, абы и иужьрей псалъэхэри зэхихащ, щхьэпылъапIэм щашэми щIыгъуащ, абы и хьэдэ сахуэр хым щыхапхьэми щытащ. Эйхман щепсалъэм щыгъуэ жаIахэр дин пашэм къыдигъэкIыжащ, «Зы псэм щхьэкIэ бэнэныгъэ» и цIэу. ЯпэщIыкIэ ар топсэлъыхь а гуэныхьщIакIуэ шынагъуэр жыхьэнмэм хэмыхуэу къригъэлыну хуабжьу зэрыфIэфIам. Уи щхьэфэцым зрезыгъасэр цIыху мелуанхэр зыIэщIэкIуэда, дунейр гуауэ мыухыжым хэзыдза а цIыхум, и тхапIэ стIолым бгъэдэсу, и иужьрей дакъикъэр къэсыху

мыр жиIэу зэрыщытарщ: «Сэ сыхуэныкъуэкъым си гуэныхьхэр къысхуэгъуным. ИкIэм-икIэжым, сэ сыхуейкъым, сфIэфIкъым ар».   Эйхман и лъэужьыр фхууэ абы ещхьу фылIэну фыхуей? Фыхуейкъэ? Абы фыхуэмеймэ, фигукIэ Хьисэ, Тхьэм и Къуэм, зыхуэвгъазэ, Абы и закъуэщ гуэныхь зыгъэгъуфу щыIэр, сыту жыпIэмэ Ар а гуэныхьхэм щхьэкIэ лIащ, ахэр ипшынащ!

         Дин пашэ Гуль Эйхман щепсалъэм щыгъуэ абы дежкIэ гущыкIыгъуэт а цIыхум и гуэныхьхэр Хьисэ и лъымкIэ къыхуэгъуныр хуигъэлъэгъуэн. Ар зи Iеягъ цIыху къелыххэнкIэрэ хъуну езыр? АтIэ! АтIэ! «Хьисэ Мэссихь, Тхьэм и Къуэм, и лъым сыт хуэдэ гуэныхьри егъэкъэбзэжыф». Ауэ сэ си гуэныхьымкIэ зызумысыжын хуейщ, Абы хуэсIуэтжн хуейщ, итIанэ жорым сеплъурэ, фIэщхъуныгъэ схэлъу мыр къэсщтапхьэщ: «Хьисэ и лъыр жорым къежэхырт! Абы и натIэм, Абы и нэкIум къежэхырт,/ сэ гуэныхь бжыгъэншэр стелът,/ ауэ абы сигъэкъэбзэжащ».

         Библием щапхъхэр щIэрыщIэурэ къихь зэпытщ, жорым кIэраIулIэу итIанэ лIахэм къахэтэджыкIыжа Зиусхьэн Хьисэ гуэныхьхэр сыт хуэдэ щIыкIэкIэ къытхуигъэгъуми къыдгуригъэIуэн папщIэ. Хьисэ кхъэлэгъуным къыдэнакъым-тIэ, ещанэ махуэм ар лIахэм къахэтэджыкIыжащ, абы фэ фыщыгъуазэу къыщIэкIынщ - Ар псэущ.

         Библиер, псалъэм папщIэ, топсэлъыхь шэсыпIэм. СэркIэ шэсыпIэ ихьэм псальэ ет, си щIыхуэр зыгуэркIэ схуэмыпшыныж хъумэ, къысщхьэщыжыну. Ауэ щIыхуэр умытыжу хъунукъым. ГъащIэм дапщэщи аращ Iуэхур зэрыщыщытыр - зыгуэрым щIыхуэр ипшыныжын щыхуейм деж. ГъащIэм гуэныхь гуэр щыдлэжьыху, Тхьэм и пащхьэ къалэн къыщыттохуэ. Библием жеIэ: «Гуэныхь щIэным къыхэкIыр ажалщ». Тхьэм къегъэув ди щIыхуэхэр лIэныгъэмкIэ дыпшынын хуейуэ. Ауэ, мис, Хьисэ къакIуэри ди гуэныхьхэм щхьэкIэ лIащ, дэ адэкIэ дыпсэун папщIэ. Ар дэркIэ шэсыпIэу Тхьэм и пащхьэм щоув. Аращи, е фи гуэныхьхэм папщIэ жыхьэнмэм фыкIуэнщ, е Хьисэ деж фыкIуэнщи, мы псалъэхэмкIэ зыхуэвгъэзэнщ: «Зиусхьэн  Хьисэ, Уэ си щIыхуэр зэрупшынар къэсщIэну сыхуейщ!» Эрнст Готлиб Вольтерсдорф зы гимн гуэрым зыщеумысыж: «Сэ шэчыншэу сощIэ,/ си КъыщхьэщыжакIуэр къэкIуащ,/ Абы си гуэныхьхэр къысхуэгъуныр/ Езым и уасэкIэ къищэхуащ./ ЗэхэсщIыхьауэ хъуам/ яхуэзэ псори щIитащ Абы, икIи абыхэм я лъэужьи къэнакъым».

          Библием апхуэдэу нэIурыту къыщыгъэлъэгъуащ къызэращэхуж щIыкIэр.  ЦIыху гуэр пщылI зыщэм и IэмыщIэ ихуащ. Езым зыкъищэхужыфынутэкъым. Ауэ, мис, зы зиусхьэн хьэлэл гуэр къокIуэри, а пщылI щхьэхуимытыр къелъагъу, игу къыщIоузри, къоупщI и тепщэм: «Дапщэ мыбы и уасэр? Сэ къызощэхуж ар !» Абдеж щыщIэдзауэ пщылIыр щыщхьэхуитыр? Абы и уасэр зы кIэпIейкIэ мычэму щыщIатам дежщ. Хьисэ фэ фи уасэр зы кIэпIейкIэ къэмынэу Голгофэм щитащ! Иджы, ар фи акъылым нэсамэ, фэ жыфIэ хъунущ: «Зиусхьэн Хьисэ, сэ уи пащхьэм си гуэныхьхэр щызытызох икIи си фIэщ мэхъу Уэ ахэр зэрыбгъэкIуэдынур!» Хьисэ укъещэхуж! Абы гуэныхьхэм  я пщылIыпIэм укърешыж! Филипп Фридрих Гиллер уэрэду жеIэ: «Гуэныхьым укъыIэщIэкIыныр/ ар щIэрыщIэу упсэунырщ,/ Хьисэ и цIэ телъыджэм хэту/ гъащIэр щIэ къэхъужу аращ...      Библием щапхьэщIэхэр къихь зэпытщ. Апхуэдэу абы къехь екIужыныгъэм и щапхъэ. Уеблэмэ мажусий зэхэщIыкIыншэми къыгуроIуэ екIужыныгъэм  зэрыхуэныкъуэр. Абы къыхэкIыуи дину щыIэу хъуам екIужыныгъэм щхьэкIэ къурмэн зыщI динлэжьакIуэ куэдыкIей хэтщ. Ауэ Тхьэм къилъытэр екIужыныгъэм и зы къурмэныпхъэ закъуэщ: «Мис Тхьэм и Щынэр, дунейм и гуэныхьыр Зытезылъхьэр!» Дин пашэ куэдым къурмэныпхъэ лIэужьыгъуэхэр ящIащ. Хьисэ Езыри Дин пашэщ, Тхьэм дригъэкIужу! ИкIи Ар Езыр Тхьэм дезыгъэкIуж къурмэныпхъэщ! Абы и закъуэщ Тхьэм дезыгъэкIужыфынур. Альберт Кнапп зы гимн гуэрым щыжеIэ:

«ИгъащIэкIэ си нэгум щIэтынущ,/ Ар фагъуэу, лъыр и натIэми/ пхъэм гъущI IунэкIэ еIулIа и Iэхэми къапыжу/ Щынэ зыри жызымыIэр жорым  зэрыкIэрылъыр.../ сэ шэч къытесхьэркъым - сэр щхьэкIи Абы «ЗэфIэкIащ» жиIэу жорым кIэрылъу зэрыжиIам.

         Абы нэмыщI, Библием къегъэсэбэп къабзэ хъужыныгъэм и щапхъэр. Зы чыристаным адрейм хуетх: «Абы дэ фIыуэ дыкъилъэгъуащ икIи Езым илъкIэ ди гуэныхьхэр тщхьэщихыжащ». Фэ, дауи, фыщыгъуазэ хъунщ къуэ кIуэдам и хъыбарым, абы кхъуэ игъэхъун хуейуэ и Iуэхур абы нэсауэ зэрыщытам.

Апхуэдэ цIыху куэдым я гъащIэм къыщыхъуащ.

         Абыхэм гущIэгъу яхуэфащэщ. Ауэ къуэ кIуэдам зыкъищIэжри щIэпхъуащ, и унэ кIуэжу и адэ зыпщIэхидзэну. Абы япэщIыкIэ зигъэщIэрэщIэну, зыкърихыну иужь итакъым, щыгъыныщIи вакъэщIи къищэхуакъым, а зэрыщытым хуэдэу къэкIуэжащ. И адэм ар иужькIэ игъэкъэбзащ, щыгъыныщIи щригъэтIэгъащ. ЦIыху куэдым къалъытэ ахэр япэщIыкIэ цIыхуфI хъун хуейуэ, итIанэ чыристани хъуфынхэу. Ар щыуагъэ узыгъэунэхъущ. Хьисэ деж дыкIуэ хъунущ дэ дызэрыщытым хуэдэу дыфIейуэ, дызэхэцIэлауэ. Дэ ди гъащIэр зэрызэхэуцIэпIар, зэрызэIыхьар! Фызэрыщытым хуэдэу фыкIуэ Хьисэ деж! Абы фигъэкъэбзэнущ! Абы щIэрыщIэ фищIыжынущ фызэрыщыту! «Хьисэ Мэссихь, Тхьэм и Къуэм, и лъым дэ сыт хуэдэ гуэныхьри ткIэрегъэкъэбзыкIыж». Абы щыхьэту тоувэ апостол Иуан! Дэри щыхьэт дытехъуэфынущ абы!

         Библием щапхьэу къигъэсэбэп псори къэсхьыну сэ иджыпсту апхуэдэ Iэмал сиIэкъым. Ауэ си гугъэщ фэ езыхэм Библием еджэн щIэвдзэну, икIи апхуэдэ щIыкIэкIэ гуэныхьхэр къазэрыхуэгъум теухуа хъыбар телъыджэм нэхъ куууэ щыгъуазэ зыфщIыну.

         Зэпымыууэ зыгуэр къытIэщIэщIэу е зыгуэркIэ дыщыуэу щыщыткIэ, мы гъащIэм дауэ дызэрыщыхъунур? Дэ езым ди къарукIэ абыхэм дапэлъэщынукъым. УщыпэлъэщынкIэ хъунур Хьисэ деж укIуэу Абы уи гуныхьхэр къыпхуигъэгъуну уелъэIумэщ. Мис итIанэ фи кIуэцIкIэ фызэрышынэри хэкIыпIэншагъэ фызыхэтри кIуэдыжынущ. Хьисэ и IэмыщIэ зиплъхьэныр - ар Iуэху кIыфI шынагъуэкъым, атIэ шынагъуэ щIыпIэ кIыфIым укъыхэкIыу Тхьэм и гущIэгъум и гъатхэ дыгъэ лыдым хыхьэныгъэщ.

Мис ар къывэхъулIэну си гум къыбгъэдэкIыу сыфхуоупсэ.         Аращи, дыхуей дэ гуэныхьхэр къытхуэгъуным? АтIэ! Дэнэ ар къыздитхынур? Жорым кIэраIулIэу итIанэ лIахэм къахэтэджыкIыжа КъегъэлакIуэм, Хьисэ, дежщ!

 

3. Дауэ зыIэрызгъэхьа хъуну ар?

          

         Зыгуэр иджыпсту мыпхуэдэу егупсысынкIэ хъунщ: «Ар фIы гуэрщ! Ар телъыджэу къыщIэкIынщ - уи гуэныхьхэр къыпхуэгъуныр! Ауэ дауэ  зыIэрызгъэхьа хъуну ар? Газетхэр абы тепсэлъыхьыркъым, романхэм ар хэткъым, фильмхэми ар къагъэлъагъуркъым. Дауэ ар зыIэрызгъэхьа зэрыхъунур?»

         МыбыкIэ зыри къыбдэIэпыкъуфынукъым. Си гугъэмкIэ, псом нэхърэ нэхъыфIыр нобэ фIэмыкIыу фи закъуэ зыфщIу Хьисэ зыхуэвгъэзэнырщ. Ар лIахэм къахэтэджыкIыжакъэ! Ар псэущ! ФIэщхъуныгъэ зиIэ хъуа цIыхухэм Библием мыпхуэдэу яжреIэ: «Хэт къыдэIэпыкъуну елъэIуми ...» ЗанщIэу, иджыпсту Iуэхум иужь фихьэ, фыкъеджэ Абы!

         Фыщыгъуазэу пIэрэ «къеджэн» псалъэм иIэ мыхьэнэм? Ар Хьисэ деж занщIэу кIуэ кIапсэщ! Ауэ фэ ар куэд щIауэ къэвгъэсэбэпакъым! Хьисэ занщIэу фыпызыщIэ кIапсэ фиIэ пэтрэ, итIани зэи Хьисэ фемыпсэлъагъэныр хэлъщ! Хуабжьу гуауэщ! Феджэ Абы, маржэ! Фэ куэдрэ псалъэхэм фащIыхэдэн щыIэкъым, мы зыр жыфIэ къудей: «Зиусхьэн Хьисэ!» - икIи Ар кIапсэм и адрей кIапэм къыIуувэнущ. Ар къыводаIуэ. Аращ тхьэлъэIу жыхуаIэжыр.

                          АдэкIэ-щэ? Сыт адэкIэ жыпIэн хуейр? Уи гум сыт илъми, псори жеIэ!

ЖеIэ мыпхуэдэу: 

-              Хьисэ цIыху гуэрымрэ сэрэ ди зэхущытыкIэхэр щIагъуэкъым. Сэ езым мыр схуэгъэзэкIуэжыркъым. Ауэ сэ сощIэ ар зэрыгуэныхьыр. КъыздэIэпыкъу, Хьисэ! 

Е: - Хьисэ, си IуэхущIапIэм и Iуэху зэтеткъым. Хьэкътын стын хуейхэм куэд щIауэ сапэлъэщыжыркъым, хэкIыпIи къысхуэгъуэтыркъым, си Iуэхур къызэтекъутэнкIэ хъунущ зэрыщыту. Уэ къыздэIэпыкъу, Зиусхьэн Хьисэ!  Е: - Зиусхьэн Хьисэ! Сэ си фызым сопцIыж икIи а Iуэху мыхъумыщIэм сыкъыпыкIыфыркъым. Уэ къыздэIэпыкъу Хьисэ! 

         КъывгурыIуэрэ? Зы цIыхум дзыхь  хуэфщIу жевмыIэнумкIи Хьисэ уи дзыхь ебгъэз хъунущ а «кIапсэмкIэ». Абы зэхех! ЖефIэ зыри къэвмыгъанэу! Абы щхьэхуит фыкъищIыжынщ. ЗэхэфщIыхьауэ лъэпкъымкIэ щIэвмыхъумэу зыхуэвумысыж. ФеупщI Абы: 

-              Зиусхьэн Хьисэ! Дин пашэ Буш къыджиIащ Уэ уи лъым псори игъэкъэбзэжу. Ар пэж? 

АбыкIэ феупщI Езым. Нобэ фIэмыкIыу фепсалъэ Абы. Куэд лъандэрэ щыIэ пэтрэ, иджыри къэс къэвмыгъэсэбэпа кIапсэмкIэ Хьисэ епсэлъэн щIэвдзэ. ФымыувыIэу къэвгъэсэбэп а кIапсэр. Абы и фIыгъэкIэ, Хьисэ фепсэлъэфынущ. Хьисэ и цIэр зыгъэлъапIэ цIыхухэм захуэвгъазэ!

         Фэ жыфIэнкIэ хъунущ: «ЖесIащ Абы псори, ауэ Абы жэуап лъэпкъ къызитыжакъым!» Ауэ гупсэхуу фыкъэдаIуэт! Иджыпсту Ар къызэрывэпсалъэ кIапсэм и гугъу сщIынущ. Абы щхьэкIэ ХъыбарыфIыр къафщтэ. Пэсэрей зэгурыIуэныгъэм нэхъ иужькIэ фыкъеджэнщ. АбыкIэ къыщIэвмыдзэ, ар фэ зэкIэ къывэгугъуэкIынущ. ХъыбарыфIым еджэныр ХъыбарыфIыр Иуан къызэриIуэтам щевгъажьэ, итIанэ ХъыбарыфIыр Лука къызэриIуэтам иужь фихьэ. Журнал гуэрым феджэ хуэдэу къевгъажьэ. ИтIанэ гу лъыфтэнщ Ар къызэрывэпсалъэм. Библиер адрей тхылъхэм абыкIэ къащхьэщокI - ар Тхьэр сэ къызэрызэпсалъэ, дэ дызэпызыщIэ кIапсэщ. Зэгуэр мыр къызжаIауэ щытащ: «Тхьэм седэIуэну сигу къыщихьэкIэ, мэзым сокIуэ». Сэ абы жэуапу естыжаращ: «Ар делагъэщ! Сэ мэзым сыщыщIэтым деж жыгхэм я щхьыщхь макъхэр, бзухэм я уэрэдыр, псы цIыкIухэм я шкIурэ макъыр зэхызох. А псори хъуэпсэгъуэщ, ауэ мэзым къызитыркъым мы упщIэхэм я жэуапыр: къысхуэгъуауэ пIэрэ си гуэныхьхэр, дауэ сэ гущIэгъу зэрызгъуэтынур, къысхуиIэу пIэрэ Тхьэм гущIэгъу? А псор Тхьэм сэ къызэрызжиIэр БиблиемкIэщ!

  Хьисэ махуэ къэс зы сыхьэт плIанэ хухэфх. Хьисэ зыхуэвгъази, Абы псори жефIэ: 

-              Зиусхьэн! Сэ нобэ Iуэху куэд сиIэщ. Си закъуэ а псом сапэлъэщынукъым. 

КъывгурыIуа вжесIар? ЖефIэ Абы псори! ИтIанэ ХъыбарыфIыр къызэгуэфхи, зы псалъащхьэ ныкъуэ фыкъеджэ. «Зиусхьэн Хьисэ, иджы Уэ жыIэ!» ИкIи абдеж фэ фыхуозэ Тхьэм фэ фхухиха псалъэм. Абы занщIэу гу лъыфтэнущ: «Мыр сэращ зыжриIэр Абы!» ЩIэфтхъэ ар, нэхъыфIыжыращи, абдеж мазэри махуэри пыфтхэ. 

         Си щIалэгъуэм щыгъуэ зы унэ гуэрым сыщыIэну къысхуихуащ. Абы щIэт пианинэм Библие телът. Ар къасщтэу къыщызэзгъэдзэкIым, гу лъыстащ щIыпIэ куэд шакъэ плъыжькIэ е удзыфэкIэ зэрыщIэтхъам, ябгъукIэ махуэри мазэри къызэрыщыгъэлъэгъуам. А сызэрысыр унагъуэшхуэти, сыщIэупщIащ Библиер зеймкIэ. «Ар ди Эмми ейщ», - къызатыжащ жэуап. А Эмми сигу ирихьри, фызу къэсшащ. Сэ сызыхуейр апхуэдэ хъыджэбзт, Хьисэ нэгъуэщIкIэ мыхъуу апхуэдэ кIапсэкIэ къызэрыдэпсалъэр зэхищIыкIыу.      Библием теухуауэ цIыхухэр щызэдаукIэ, сэ ар схуэхьыркъым. Абыхэм жаIэ Библиер зытхар цIыхухэрауэ, е абы ещхь нэгъуэщI делагъэ гуэрхэр. А псор сэ зэшыгъуэ къысщохъу!

         Япэ дунейпсо зауэм щыгъуэ сэ пIалъэ гуэркIэ телефонисту сыщытащ. Абы щыгъуэ дэ кIапсэншэ радиом хэтщIыкIIартэкъым. Дэ аппарат цIыкIухэр тIыгът, кIапсэкIэ зэпыщIауэ. Зэгуэр сэ лъагапIэм тет кIэлъыплъыпIэ пунктым сыщыIэн хуей хъуат. Иджыри зыхъумапIэ лъэпкъ яухуатэкъыми, сэ удзым сыхэлъу батареем зыпысщIэну сыхэтт. Абдеж къэслъэгъуащ уIэгъэ мащIэ зытелъ, лъэсыдзэм щыщ зауэлIыр ди лъагапIэм и бгъумкIэ зэрыблэкIыр. Сэ сыкIиящ: 

-              Гъуэлъ! Дэ гу къытлъатащ! Иджыпсту къытхэуэу ирагъэжьэнущ! 

Абы щIым зыхидзащ, икIи си деж къэпщауэ къызжеIэ: 

-              Сэ зызгъэпсэхужыну хуит сащIащ икIи си унэ сыкIуэж хъунущ.

КъэдаIуэт, сыту аппаратыжь Iей мыгъуэ а пIыгъыр! 

-              Аращ, - сыгъумэтIымащ сэ, - жьы хъуа моделщ». 

-              Клеммэхэри зэрыщыту зэпкърылэлащ! 

-              Пэжщ, - сытехъуащ сэри щыхьэт, клеммэхэми зыри яхэлъыжкъым. 

-              Уеблэмэ, и зы Iыхьи къыгуэудащ», - пищэрт абы. АдэкIэ схуэхьыжакъым: 

-              Иджы уи жьэр гъэбэяу, сэ зэман сиIэкъым апхуэдизрэ сынодэIуэну!

Сэ зыгуэрым зыпысщIэн хуейщ! 

Ар дыдэращ Библием теухуауэ сэ къысщыщIар. Хьисэ седэIуэну си тхьэкIумэхэр тезгъэхуа къудейуэ, цIыху гуэрхэр къокIуэри, жаIэ Библиери дэ тхуэдэ цIыху гуэрхэм ятхауэ арауэ! Абы и жэуапу мыращ жысIэфынур: 

-              Фи жьэр вгъэувыIэ, кхъыIэ, абы сэ щызэхызох Хьисэ и макъыр!

                         КъывгурыIуа вжесIар? Фызэщхьэщахуну зыми яхуэвмыдэ!

Къыдопсалъэ Ар а кIапсэмкIэ.

         Мыри щIызгъунущ: а гъуэгумкIэ кIуэну хуей адрей цIыхухэми запыфщIэ!

         Плъагъуркъэ, мыбы и гугъу щысщIкIэ, зэрыхабзэу, цIыхухэм къысхуадэркъым: 

-              Ар фызыжь гуэрхэм яжеIэ. Члисэм кIуэр жьы хъуахэм я закъуэщ. 

Абы къыхэкIыу, сэ сыщогуфIыкI илъэс 30-м щIигъукIэ щIалэгъуалэм я дин пашэу сызэрыщытам, икIи а зэманым къриубыдэу ныбжьыщIэ куэд дыдэ къэсцIыхуащ сэ жысIахэмкIэ щыхьэту къэувынхэу: гуэныхь гъэгъуныгъэр щыIэщ, Хьисэ уепсалъэ мэхъу, Абы жэуап къует.         Хьисэ щIыгъунымкIэ хабзэ зиIэ цIыхухэр къэфлъыхъуэ, абыхэм фащIыгъу. Апхуэдэ цIыхухэр, Хьисэ щIыгъуу уафэм кIуэ гъуэгум тетыну хуейхэр, бгъуэтынущ.

         Аращи, Хьисэ фи ащхьэ къитщ икIи къывжеIэ: «ЦIыху ешаелIа, хьэлъэ уэндэгъу зытелъ псори си деж фыкъакIуэ, гузэгъэгъуэ фэстынущи. Си бжьыр зытефлъхьэ, жысIэр зэвгъащIэ, сэ си гур щабэщ икIи пагагъэ схэлъкъым. ПсэмкIэ гузэгъэгъуэ вгъуэтынущ итIанэ, си бжьыр щэчыгъуафIэщ, си хьэлъэр уэндэгъукъыми!»

 

 

 

 

ЦIЫХУХЭМ ДАГЪЭБАМПIЭМЭ, СЫТ ТЩIЭНУР?

 

         Темэм и цIэр пэж дыдэу духуакъым: «адрейхэм дагъэбампIэмэ! - абыхэм дагъэбампIэ, пэж дыдэу, зэрыщытыр аращ! Дэ Iэмал имыIэу зыгуэрым дегъэбампIэ, аракъэ? Сэ уеблэмэ мыпхуэдэу сыщIэупщIэну сытегушхуэнщ: «зи псантхуэ зэIамыгъэхьэ гуэр къыфхэтмэ, фымыбзыщI». Флъагъуркъэ, зыми зыри жиIэркъым! Дэ дагъэбампIэ, ар нэрылъагъущ, аращи, «дагъэбампIэмэ» жыдмыIэу, «дыщагъэбампIэкIэ» жытIэмэ, нэхъ пэжщ.

Сызахуэкъэ сэ? Ауэ сытми, узижэгъуэну зым и псантхуэр адрейм дошх дэ!

Ауэ псори апхуэдэкъым. Псалъэм папщIэ, си фызым сэ сигъэбампIэркъым. Ауэ нэгъуэщI Iэджэм куэдрэ сагъэбампIэ. Фэри ара? Дауи! Аращ дэ дыщIызэщыхьэри. Унагъуэм исхэри, зэгъунэгъухэри, зэлэжьэгъухэри, уеблэмэ зэчыристаныгъуу зэгъусэу Тхьэм елъэIухэри, кIэщIу жыпIэмэ, цIыху псори зыр адрейм зэригъэбэмпIэным хэтщ.

         ДэнэкIи даIуэ, зэхэпхыр зыщ - «псантхуэхэр зэрызэIагъэхьэм» и гугъущ. ЦIыху куэдыкIей щыIэщ мы псалъэхэр жаIэфыну: «Си Iуэхухэр псори хъарзынэт, мыр е мор нэмыщIамэ!» Апхуэдэ щIыкIэ а «мыр е мор» нэм щIыIухуу телъ къудейкъым, уи гъащIэр дэгъэзеигъуэ ещI. А Iуэхум тепсэлъыхьыпхьэщ. Зыгуэрым дыщигъэбампIэм деж дауэ дызэрыпсэунур?

         А упщIэм нэхъ гупсэхуу сыкъытеувыIэну сыхуейт, си ныбжьэгъухэ. Плъагъуркъэ, зыгуэр ауэ сытми тIэкIу къыхэспчэIукI къудейуэ къыпфIэщI щхьэкIэ, абы, ипэжыпIэкIэ, жьэн уз къефыкIыу къыщIэкIынкIэ мэхъу. Мыбдеж псчэр зыгъэувыIэ кIэнфэт гъур цIыкIухэр сэбэп щыхъунукъым, и узыр нэхъ куууэ къэпщытауэ нэгъуэщI Iэзэгъуэ ехьэлIапхъэщ. Мы зэгъэпщэныгъэр къыщIэсхьар къывгурыIуэрэ?  Дэ зым зыр зэрыдгъэбампIэр цIыху Iэпкълъэпкъыр зэрымыузыншэм и нэщэнэ къудейуэ аращ. А бампIэм нэхъ лъабжьэ куу иIэщ, ар уи гъунэгъум и хьэл-щэныр тIэкIу уигу иримыхьым къыщыувыIэркъым. Мис абы къыхэкIыу а Iуэхугъуэр нэхъ убгъуауэ згъэнэхуэну сыхуейщ. Сэ фэзгъэлъагъуну сыхуейщ бампIэр цIыхухэр зэрымыузыншэм и нэщэнэу зэрыщытыр.

 

 

1. Дэ дызыщыпсэу дунейр

 

         Сэ си IуэхуеплъыкIэм и тегъэщIапIэщ Библиер. А зым жиIэращ сэ пэжу къэслъытэр, адрей псори, илъэс 20 хуэдиз дэкIмэ, пхъэнкIийм хэдзэжын хуей хъунущ.

         Библием жиIэр мыращ: Тхьэм дунейр нэгъэсауэ къигъэщIыгъащ. Абы щыгъуэ Iэдэм Хьэуа игъэбампIэртэкъым, Хьэуаи Iэдэм игъэбампIэртэкъым. Зыр адрейм хъарзынэу езэгъырт. Тхьэми цIыхухэр имыгъэбампIэу, цIыхухэми Тхьэр ямыгъэбампIэу зэрыщытам и гугъу умыщIыххэ. Псори зэгурыIуэ-зэдэIуэжт. Тхьэмрэ цIыхухэмри, езы цIыхухэри.

         Библием зэритымкIэ, цIыхугъэр къэунэхуа къудейуэ япэ катастрофэр къэхъуащ. Библиер абы зэреджэр гуэныхьщIэнщ – цIыхум япэу гуэныхь зэрищIарщ. ЦIыхур зыгуэрым дихьэхыфынут. Абы жыг лIэужьыгъуэ гуэрым пыт пхъэщхьэмыщхьэр къыпичу ишх хъунутэкъым. Тхьэм апхуэдэу къыхуигъэуват. Ауэ абы хэдэну хуитыныгъэ иIэти, хэдэри Iейр, мыдэIуэныгъэр, къыхихащ. Абы къищтэну зыхуимыт пхъэщхьэмыщхьэр къищтащ. ЦIыхугъэм и щIэдзапIэу а гуэныхьщIэныр къыщыхъуа напIэзыпIэм зэгурыIуэм кIэ игъуэтащ.

         Тхьэмрэ цIыхухэмрэ зэIэпыкIа мэхъу абдеж. Тхьэм цIыхур жэнэтым кърехури, абы и ихьэпIэм мелэIыч хъумакIуэ егъэувыж. Абы лъандэрэ Тхьэмрэ дэрэ дызэкIэщIэчащ. Абы щегъэжьауэ дэ Тхьэр зэгудогъэп, Тхьэми дэ дегъэбампIэ. Тхьэм и гугъу яхуэпщIын зэрыщIэбдзэу, цIыхухэр къолыб: «Къэгъанэ, икIэм-икIэжым, мыбы и гугъур! Зыми ищIэркъым Ар щыIэу!»  Тхьэмрэ дэрэ дякум щыхупIэ шынагъуэ къыдэуващ.

         А зэман дыдэм езы цIыхухэри гуп-гуп зэрыгъэхъуащ. Iэдэмрэ Хьэуарэ я бынхэм я деж нэрылъагъу щыхъуакIэщ ар. Абы щегъэжьауэ цIыхухэм зым адрейр ягъэбампIэ.

         Мис зэкъуэшитI. Къэхъуркъэ апхуэдэ - зэкъуэшитI дыдэр зэмызэгъыжу, дунейм зэрытемыгъэту! Каинрэ Хьавэлрэ я хьэлкIэ зыкIи зэщхьтэкъым. Ахэр апхуэдизу зэщхьэщыкIыу щIыщытам и щхьэусыгъуэ жыIэгъуейщ. МэкъумэшыщIэ Каин хьэсэм хэтт зэгуэр, фIанэкIэ ар ипщIэу. Ауэ, мис, Хьавэл къокIуэ абы деж. Си нэгу къыщIызогъэхьэ Каин и кIуэцIыкIыщIэм зэрызыкъигъэзар: 

-              Зэ IукIыжам арат мы Iужажэ IумпIейр ! Си нэр мэуз, ар слъагъумэ! - жиIэу. 

Ауэ Хьавэл къыбгъэдохьэри, къепсэлъэн ирегъажьэ. Абы щыгъуэ Каин фIанэ иIыгъымкIэ мо илъагъу мыхъу нэжьгъым йоуэ, абы зыкъыщищIэжам и къуэшым и псэр хэкIат. Дэ, ныбжьэгъухэ, цивилизацэм и фыгъэ къыдэкIащи, фIанэкIэ зыри дукIыжыркъым. Ауэ газет феджэу щытмэ, абы ещхь гуэрхэр иджыри къызэрыхъум фыщыгъуэзэн хуейщ. Ещанэ рейхым и тепщэгъуэм щыгъуэ цIыхуу зэтраукIам и бжыгъэм уеплъмэ, абыхэм я лъабжьэри Каин и гупсысэрщ: цIыхухэр лъагъу мыхъуныгъэрщ! Апхуэдэ щIыкIэкIэ ягъэкIуэдащ цIыху минищэхэр! Хьавэл и хьэдэр къелъагъури, Каин зыкъещIэж. Ар тIэкIу къэшынащ. Ауэ итIанэ мащэ къетI, хьэдэр абы ирехьэхри, щIы третхъуэж. Зеплъыхь ихъуреягъкIи, и гур мэзагъэ: зыми къилъэгъуакъым, зэхищIыхьам щыхьэт техъуэни щыIэкъым. Дэ, цIыхухэр, дапщэщи апхуэдэущ дызэрегупсысыр: зыми имылъэгъуамэ, зыри къэмыхъуауэ аращ. ЦIыхухэм Iуэху фIейуэ якъуэлъыр фщIауэ щытатэми!

Каин къыIуокIыж, абы гузавэ къещтэ. Абдеж зыгуэр къоджэ: 

-              Каин! - жеIэри. 

Хэт хъуну ар? Каин! И щIыбыр мэтхытх. Абдеж къыгурыIуащ къеджэр хэтми: Тхьэ псэурт! Абы псори илъэгъуат! Ар щыхьэт щымт! 

                          Каин!!! Дэнэ щыIэ уи къуэш Хьавэл?

Каин иджыри зимыумысыну хэтт. 

-              Сэ си пщэ дэлъ, си къуэш Хьавэл сыкIэлъыплъын хуейуэ? СриIэхъуэ сэ абы? 

-              Каин, - жиIащ Тхьэм, - уи къуэшым и лъым и макъыр щIым къыщIопсэлъыкIри, Сэ къызоджэ».

         Иджы фолъагъу, мы хъыбарым псори къыдгурегъаIуэ: гуэныхь щIэн щыщIадзам къыщожьэ псори. ЦIыхухэр зэпэIэщIэ хъуащ. Тхьэр Каин бэмпIэгъуэу къыщохъу, дэ тщыщ куэдым къазэрыщыхъум хуэдэу. Ауэ дэ дыкъэзухъуреихь ди гъунэгъухэри Тхьэри щымыIэ тхуэщIынукъым! Апхуэдэщ дыщыпсэу дунейр!

 

2. Абы къикIын щыIэкъым

 

         Аращ, къагурызгъэIуэнщ жыпIэкIэ, иджыпсту къикIын щыIэкъым. Псалъэм папщIэ: «ГущIэгъу зыхэлъ Тхьэм» утепсэлъыхькIэ мыхьэнэ иIэнукъым. Тхьэмрэ дэрэ ди зэхуакум блын, щыхупIэ къыдэуващ. Зауэм щыгъуэ Эссен и щIылъэныкъуэр, абы си унэри хэту, мафIэм щисым, зы цIыхубз къызбгъэдэлъэдащ, кIийурэ мыр жиIэу: 

-              А уи Тхьэм мыр къэхъуну щхьэ хуит ищIрэ? 

Абы жэуапу естаращ: 

-              Сэ си Тхьэм ар къэхъуну хуит ищIынкIэ хъунущ. А Тхьэр фэ фи бийуэ къыщIэкIынкIэ хъунщ! 

Гуэныхь къызэрыхъу лъандэрэ  псори  зэпэщIэкIащ: Тхьэмрэ цIыхумрэ! Дэ Тхьэми цIыхухэми япэIэщIэ дыхъуащ. Аращ цIыхухэр дигу темыхуэнри къызыхэкIыр. Фигу темыхуэ гъунэгъу фыз гуэр фиIэмэ, абы и щхьэусыгъуэ хъур гуэныхь щыIэ зэрыхъуарщ, н.ж. дэ дызэрыцIыху кIуэдарщ, Тхьэм дызэрыпэIэщIэрщ. Абы къыхэкIкIэ, къагурызгъэIуэнIащ жыхуэпIэм къикIын щыIэкъым.

         Иджыблагъэ сэ сыщыIащ Швейцарием и гъунапкъэм. Гъунапкъэ хъумапIэм деж плакат щыфIэдзат. Абы тетт: «Дызэгъусэмэ нэхъыфIщ!» Сэ сегупсысащ: «Итыр гурыIуэгъуэщ! Ауэ цIыхухэр сигу темыхуэмэ, плакатыр сэбэп зыкIи къысхуэхъунукъым!» Е нэгъуэщI зы плакат, махуэ зыбжанэ япэкIэ срихьэлIауэ: «ЩэныфIэу фызэхущыт!» Америкэм лъэбакъуэ къэс мыпхуэдэ плакатхэр къыщыфIадзэ: «Гуапэу фыпыгуфIыкI!» Ауэ ахэр Iуэхум сэбэп зэрыхэхъухьыфын щыIэкъым. Сызахуэкъэ сэ? Пэж дыдэу, абы къикIын щыIэкъым! 

СощIэж, иджыри сытеолог ныбжьыщIэу сэ куэдрэ сахыхьэу щытащ унагъуэ гуэрым, цIыхуу ису лъэпкъыр зыр адрейм и бийуэ. ЗэIыхьлы псори зы щIыпIэм щыпсэурти, псори зэщыхьэжауэ апхуэдэт. Пщыхьэщхьэ гуэрым ахэр псори зэхуэсшэсри, зэрызихьэлу, сигурэ си щхьэрэ зэтелъу, зэзгъэкIужыну я ужь сихьащ. Си бзэгур лэжьэным нэсат сахэпсэлъыхьурэ. Жэщым сыхьэт 11-хэм деж ахэр зэкIужауэ я Iэр зэрызгъэубыдыжащ. Сэ хуабжьу насыпыфIэу зыкъэслъытэжырт икIи мыпхуэдэу сегупсысырт: «Апхуэдэ къыщIэдзэкIэфI щызиIэкIэ, сэ дяпэкIэ дин пашэ хъарзынэ къысхэкIынущ». 

ГуфIэгъуэм сызэрихьэу сыкъэкIуэжри, жей IэфIым сыхилъэсащ.

ЗэзгъэкIужахэм ящыщ зым пщэдджыжьым сыхуэзати, сэ жесIащ: 

-              Дыгъуэпшыхь пщыхьэщхьэфIт, пэжкъэ?! 

-              ФIыт жыпIа? - идакъым абы, - Уэ къэхъуам ущыгъуазэкъэ?» - 

-              Сыт къэхъуар?» - сеупщIащ сэ, си фэр пыкIауэ. КъызэрыщIэ-кIымкIэ, ахэр, щызэбгрыкIыжым щыгъуэ, аргуэру зэщыхьэжат, уеблэмэ иджы нэхъри зэщыIеяхэт! Фэ фыдыхьэшхынкIэ хъунущ, ауэ сэ абы щыгъуэ дыхьэшхын си Iуэхутэкъым. Сэ абдеж зыхэсщIат гуэныхьщIэныр зэрымыIуэху джэгур, дэ Тхьэми цIыхухэми япэIэщIэ дызэрыхъуар,  икIи я нэхъ псалъэ IэфхэмкIи  мы Iуэхур зэрумыгъэзэкIуэжыфынур.

                         ЦIыхухэм куэдрэ мыпхуэдэу къысхуатх: 

-              Зиусхьэн дин пашэ лъапIэ! Мыпхуэдэ щIыпIэм щыпсэу си благъэхэр зэбийщ. УмыкIуэфыну пIэрэ абыхэм я деж?

Апхуэдэ лъэIухэр сэ яхуэсщIэркъым, сыту жыпIэмэ псалъэ гуапэкIэ а Iуэхум зыри зэрыхыумыщIыхьыфынур сощIэри. ФащIэгупсысыт а фигу темыхуэ, фызыгъэбампIэ цIыхухэм. АбыкIэ фыкъытезгъэхьэну сэ кIыхьу сыныфхэпсэлъыфынут, ауэ абы къикIын щыIэкъым. Мис аракъэ нэхъ гузэвэгъуэр. Сэ сызыхыхьа унагъуэ гуэр и гугъу фхуэсщIыжынщ. Унэм къохьэж илъэс 17 зи ныбжь я къуэр, зэфIэмыхьэу, джинс щIыху щыкъуауэ, и щхьэц кIыхьыр бацэу. Гу лъыстащ абы и адэр къызэIыхьэу зэрыхуежьам: «Феплъыт мобы и теплъэм! - жеIэ абы, ауэ фепль къудейт!» И адэр хабзэ зыхэлъ цIыхут, къулыкъущIэт. Фи нэгу къыщIэвгъэхьэт апхуэдэм, и къуэр бэлэбанэу щилъагъукIэ, и кIуэцIыкIыщIэм зэрызыкъигъазэр. Е нэгъуэщI зы унагъуэм, Тхьэм фIэлIыкI анэм, фIы дыдэу илъагъу и пхъум и Iупэхэр илэу гу лъитамэ, хуэмышэчу мыр жеIэ: «Си псантхуэхэр зэIегъэхьэ мобы!» ДэнэкIи аракъэ? Зи фыз изыгъэкIыжа лIы гуэрым гуэныхь зэрилэжьыр къыгурызгъэIуэну иужь сыщихьэм, къысхуидакъым:

-              УвыIэ, зиусхьэн дин пашэ! Адрейхэр къызогъанэри, си фызыр лэпс щефэкIэ макъ зэрыригъэщI къудейр сигу техуэркъым!»

         Дыхьэшхэн къыфщыхъурэ а зэхэфхар? Ар узижэгъуну къысщохъу сэ! Фэ жыфIэнкIэ хъунщ ар Iуэху жьгъейуэ, къикIышхуэ щымыIэу. Жьгъейуи? Ар и нэщэнэщ гуэныхьщIэным и лъэхъэнэм дунейр Тхьэм и IэмыщIэм къызэрихуам, икIи дэ, тхьэншэ цIыхухэу дыщыткIэрэ, дуней кIуэдам дызэрыщыпсэум!

         А зэгуэпыр языныкъуэхэм деж Iей дыдэу иухынкIэ хъунущ. Сэ Эссен къалэм щыщ зы хъыджэбз соцIыху, склероз узыфэ пкърыту, а уз Iейм абы кIуапIи жапIи къритыркъым. Ар унэ цIыкIу гуэрым щопсэу. Я гъунэгъуу псэу щIалэм фIэфIщ пщыхьэщхьэкIэрэ сыхьэти 8-м и ныкъуэм щегъэжьауэ пщыкIуз пщIондэ телевизорым и макъыр ину утIыпщауэ еплъыну. Хъыджэбз тхьэмыщкIэм блын пIащIэ тIэкIу фIэкIа я мызэхуакуу ар пщыхьэщхьэ къэс ишэчын хуей хъурт. ЕлъэIурт щIалэм телевизорым и макъыр тIэкIу иришэхыну, ауэ щIалэр ерыщ екIуэрти, нэхъ ин ищIырт. Фи нэгу къыщIэвгъэхьэт апхуэдэу илъэсхэр зэрекIуэкIар, зы пщыхьэщхьи, зы сыхьэти зэпыу имыIэу. Сыт хуэдизу хьэкIэкхъуэкIэу, бзаджэнаджэу дыщытын тлъэкIрэ дэ цIыхухэм! Фэ фи нэгу къыфхущIэгъэхьэну а щIалэм хъыджэбзыр зэригъэбэмпIам и инагъыр? Мыдрей щIалэри хъыджэбзым, дауи, зэгуигъэпырт. Блыным и лъэныкъуитIымкIи зауэ щекIуэкIырт, тIуми я гъащIэр шэчыгъуей ищIу!           

         Дин пашэу лэжьэн щыщIэздзагъащIэм, фIэщхъуныгъэм теухуауэ зэзгъащIэ цIыху ныбжьыщIэ 150-рэ сиIащ. Абыхэм я унагъуэхэм сихьэу щIэздзащ. Фэтэр куэду зэхэт унэхэм щыпсэухэрт ахэр. Япэу сащыхыхьам щыгъуэ а унэм зэщыхьэ гуэр сыщрихьэлIэгъащ, етIуанэми, ещанэми ар къэхъуащ. ИтIанэ езгъащIэ сыхьэтым щыгъуэ сэ сылъэIуащ, зыгуэрым емыбий, щымыхьа яхэтмэ, апхуэдэхэр къэтэджыну. Къэтэджар цIыхуищт е цIыхуиплIт. «Адрейхэр псори зыгуэрым фыщыхьауэ ара?» - сыщIэупщIащ сэ икIи жэуапу къызатащ апхуэдэу зэрыщытыр. Къэтэджауэ щытахэм сеупщIащ: «Фэ сыту зыми фыщымыхьарэ?» - жысIэри. Абыхэм жаIащ ар къызыхэкIар я закъуэу зэрыпсэур зэрыарар.

         Мис аращ Iуэху зытетыр. Дэ дынэщхъыфIэн хуейщ, дылэжьэн хуейщ, абы щыгъуэми ди псантхуэр зэпымыууэ тшхыж зэпытщ ! Ди лъакъуэм зыгуэр къытеувамэ, ар мэуз. Ди псантхуэр зыгуэрым увыIэгъуэ имыIэу зэIигъэхьэ зэпытмэ, ар шэчыгъуафIэкъым.

          

3. Тхьэр къыхоIэбэ!

          

ВжесIам фIэкIа фхуэсIуэтэн нэгъуэщI симыIэу щытамэ, къыщIэздзэххэнтэкъым. Ауэ сэ сощIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ хъыбар, хъыбар гъэщIэгъуэныщэ: гущIэгъу гъунэншэ зыхэлъ Тхьэ псэур къыхоIэбэ а зэщыхьэ, зэгуэп куэду зэхэзэрыхьам! Тхьэм и нэгу щIэтщ мы дуней насыпыншэр зэрыщытуи, Тхьэм абы и Iуэху къызэрехуэ!

                           Ар къызэрыхэIэбэр телъыджэщ. Абы нэхъ хъыбар узыIэпызышэ иткъым

Библием. Тхьэм Абырэ дэрэ зэпэIэщIэ дызыщI блыныр къекъутэри, Езым и Къуэ Хьисэ къыпкърыкIыу ди деж къох! Иджырей ди гъащIэм пщIэ хуимыщIу Хьисэ теухуа ХъыбарыфIыр зэрыIуигъэкIуэтым къикIыркъым а ХъыбарыфIым мыхьэнэ имыIэу, абы къикIыр ди лъэхъэнэр япэкIэ зэрымыплъэращ, сыту жыпIэмэ дэ дыкъелынымкIэ шэсыпIэ закъуэу щыIэр Хьисэщ! Тхьэм Абырэ дэрэ дяку дэт блыныр зэрызэтрикъутам, Тхьэм къыпыIукIуэтауэ зэщыхьэмрэ зэгуэпымрэ хэмыкIыу псэу мы дунейм Езым и Къуэр къызэригъэкIуам нэхърэ нэхъ Iуэхушхуэ щыIэнкIэ хъуну? Тхьэм и Къуэр, Хьисэ Мэссихь, къызэрыкIуам Iуэхур къыпхуэмыцIыхужыну нэгъуэщI гуэру ехъуэж! 

 

а) Хьисэ къыпкърыкIыу Тхьэм дызригъэкIужащ

         Иджы сэ фэзгъэлъэгъуну сыхуейщ псори зэщIэзубыдэр зэры Хьисэр. Хьисэ Тхьэм пэIэщIэ хъуауэ щытакъым. Хьисэ Тхьэм и Къуэщ. Иджыблагъэ сэ къызжаIащ: 

-              Хьисэ дэ тщыщ дэтхэнэ зыми ещхьу цIыхуу щытащ, нэхъыбэрамэ, Ар диным и къызэгъэпэщакIуэу аращ!

Абы жэуапу естыжаращ: 

-              Уэ зи гугъу пщIыр нэгъуэщI зыгуэр хъунщ. Сэ жыхуэсIэр Езым и щхьэм щхьэкIэ Ар уафэм къикIыу, дэ щIым дыкъытекIауэ жызыIаращ. Аращ, сэ зи гугъу сщIыр Тхьэ Псэум и Къуэу Телъыджэ зи цIэрщ, зи фIыгъэкIэ мы дуней кIуэдым, нэлат зытехуам Тхьэр къэкIуарщ. КъимыдэкIэ, Абы цIыхухэм ящыщу зыри бэмпIэгъуэу къыщыхъуркъым. Уеблэмэ Езым къепцIыжу зыщэжа Иудэ дыдэми хузэгуэпыркъым. Сэ хэт къызэпцIыжми, абы сыхузэгуоп. Хьисэ Иудэр и кIэм нэсыху фIыуэ елъагъу! Хьисэ и тхыдэр фи нэгу къыщIэвгъэхьэн хуейщ ар зыми къимыгъэгубжьыф, имыгъэбэмпIэф цIыхуу!

         Мис, псалъэм папщIэ, хъыбар телъыджэ, Ар щылIэнум и пэ къихуэ пщыхьэщхьэм къэхъуауэ - Ар и гъуэгу ирикIуэхэм ящIыгъуу пщыхьэщхьэшхэ щышхам щыгъуэ. КъуэкIыпIэмкIэ щыIэ къэралхэм ис цIыхухэр шэнт тестэкъым, Iэнэм и хъуреягъым щхьэнтабгъуэхэм егъэщIауэ къетIысэкIауэ зэхэст. Сэ си щхьэкIэ си нэгу къысхущIэгъэхьэркъым апхуэдэ щытыкIэм уиту узэрышхэфынур. Дэ дыкъапщтэмэ, дыщылъу гуахъуэрэ сэрэ тIэщIэлъу дышхэфынтэкъым. Ауэ ахэр апхуэдэу шхэрт. Псом япэу, абыхэм я вакъэхэр лъахащ. Арат абыкIэ щыхабзэр. ИтIанэ я лъакъуэ сабэхэр ятхьэщIащ. А махуэм Хьисэрэ Абы и гъуэгум ирикIуэхэмрэ гъуэгуанэшхуэ зэпачат. Ахэр ешати, я вакъэхэр лъахри, щхьэнтэхэм зрагъэщIащ. Сэ си нэгу къыщIызогъэхьэ Петр и щхьэр Иуан зэрыхуищIыр икIи нэкIэ абы хъыбар зэрыригъащIэр: абыхэм ящыщ зым псы къихьу адрейхэм я лъакъуэр яхуитхьэщIын хуейти, Иуан псом нэхъри нэхъ зэрынэхъыщIэм къыхэкIыу ар ищIэну къытехуэрт, ауэ Иуаным дапщэщи зыщIригъэхырти, Пeтр абы хуэбампIэрт. Ауэ Иуан и дамэхэр дригъэуейурэ йогупсыс: 

-              Мы Петр сыту бэмпIэгъуэ, сэ сщIэн хуеймкIэ сигъэсэжыну зэпымыууэ хэтщ. Екъуби къихь хъунущ лъакъуэхэр зэратхьэщIыну псыр. 

Екъуб къапщтэмэ, абыи и щхьэ трилъхьэркъым а къалэныр - ар Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэм ящыщу нэхъыфIу я егъэджакIуэм къилъагъухэм ящыщщ, мызыгъуэгум Маттэ кърехь псыр. Аращи, абдеж зыр адрейм хузэгуоп, сыту жыпIэмэ зыми зытригъэхуэну хуейкъым псы къэхьыныр. 

Апхуэдэу щыхъум, Хьисэ къотэдж. И гъуэгу ирикIуэхэр къэшынащ: Езыр и щхьэкIэ кIуэну арауэ пIэрэ псыхьэ? Ар макIуэри напэIэлъэщI къещтэ, тасым псы ирекIэри, псоми я лъакъуэр яхуетхьэщI. Иуди! Петри! Иуани! Екъуби! Матти!  «Сэри !» - жысIэным зы тIэкIущ иIэжар! Апхуэдэщ Хьисэ, псори зыхэлъыр: Тхьэр хэлъщ Абы, Абы псори фIыуэ къилъэгъуащ.      Сэ фи нэгу къыщIэзгъэхьэн хуейщ жорым кIэрылъ Хьисэ - мис абдежщ сэ Ар нэхъыфI дыдэу щыслъагъур! Сытым хуэдэу сыхуейт фэри фысщIыгъуу Ерусалим и куэбжэ дыхьэпIэ гупэм къит а Iуащхьэм, цIыхубэр щызэщIэгъуагэм, бжыхэр зыIэщIэлъ рим зауэлIхэр зытетым, абыхэм я щхьэм къыщхьэпрыпIиикIыу жорищ зытеплъагъуэм, сыкъыщыхутэну. Сэ нэхъ къыхэзгъэщыр яку дэт жорырщ. Пыжьей банэ ухуэна зыщхьэрыIуауэ абы фIэлъыращ фи нэгу къыщIэзгъэхьэну сызыхэтыр. Си ныбжьэгъухэ, дэр щхьэкIэщ Ар абдеж щIыщылIэр, мы ди щхьэри дгъэбэмпIэжу, адрейхэри зэгуэдгъэпу, езыхэми дызэгуагъэпыжу дызэрыт тхьэмыщкIагъэ щытыкIэм дыкъришу Тхьэм дригъэкIужын папщIэщ а бэлыхьыр щIишэчыр.       Фэрэ Тхьэмрэ фи зэхуакум дэт лъэпощхьэпо псори дэха хъуну фыхуеймэ, Хьисэ и жорым деж фыкIуэ. Дэр щхьэкIэ лIэуэ лIахэм къахэтэджыкIыжа Хьисэ Тхьэм къигъэкIуауэ мамырыгъэм, екIужыныгъэм и лIыкIуэщ. Гурыщхъуэ, фIэщмыхъуныгъэ къывэбэкIыу фхэлъ псори IэщIыб фщIыи, Хьисэ IэплIэ къыфхуищIыну къиущIа и Iэхэм фыхуэкIуэ. Абы и лъабжьэм щIэфлъхьэ фызэса хьэл псори, фтелъ гуэныхьхэри! А псори фхузэфIэкIынущ Хьисэ и жорым фыдэплъей закъуэмэ. Фи Iэхэр Абы  хуэфшии, жефIэ: «Уэ срууеину сыхуейщ!» Тхьэм екIужынымкIэ ар япэ лъэбакъуэ фхуэхьунщ. Апостол Паул Рим дэсхэм яхуигъэхьа тхыгъэм мыр щыжеIэ: «Аращи, фIэщхъуныгъэ зэрыдиIэм щхьэкIэ Тхьэм щыпкъагъэ диIэу делъытэ. Апхуэдэу зэрыщытым щхьэкIэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь къыпкърыкIыу Тхьэм декIужа дыхъуащ». Хьисэ Тхьэм къигъэкIуа екIужыныгъэм и лIыкIуэщ. Къафщтэ Ар! Уигу къемыуэнкIэ Iэмал иIэкъым цIыху куэд, ар зэхаха пэтми, Тхьэм зэремыкIужыфар. Ар узижэгъуэнщ! Фигухэм, фи псэхэм я хьэтыркIэ, Тхьэм Езым дызригъэкIужыну къытхуигъэкIуа лIыкIуэр къабыл фщIын щхьэкIэ, къарууи зэфIэкIыуи сиIэм себлэжыну сыхуейкъым!

         Нобэ журналист зыбжанэм сепсэлъащ. Дызытепсэлъыхьар нобэ нэхъ уи фIэщ пщIы хъунуращ, гулъытэ нэхъ зыхуэфащэхэрщ. Сэ абыхэм къехьэкIнехьэкI хэмылъу яжесIащ сэ згъэунэхуа зауитIымрэ нацизмэмрэ я ужькIэ уи фIэщ пщIы хъун гуэр щыIэу къызэрысфIэмыщIыжыр. Политикэм и пхыгъэкIакIуэхэмрэ къэкIуэнур къэзыщIэу жызыIэхэмрэ я псалъэ нэдхэра си фIэщ сщIынур? Езы дыдэхэм я фIэщ хъужыркъым абыхэм жаIэр, сэ си фIэщ сщIын? Уафэмрэ щIылъэмрэ я зэхуакум уи фIэщ пщIы дэту сэ сщIэркъым, Езым  дыкъызригъэкIужын папщIэ, Хьисэу Тхьэм лIыкIуэу къытхуригъэхам фIэкIа. Ар си фIэщ схуэщIынущ. А Зым и закъуэщ уи фIэщ пщIы хъуну къэнар. ИкIи уи фIэщ щIыпхьэщ Ар. ИкIи зыри я фIэщ яхуэмыщIу жызыIэн ныбжьыщIэ е зи ныбжь хэкIуэта гуэрхэр мыбдеж къыфхэтмэ, апхуэдэхэращ зыхуэгъэзар ХъыбарыфIым ит мы хъыбарыр: Хьисэ къызэрытхуригъэхамкIэ Тхьэр хуабжьу и фIэщу къытхущытщ». Иджы фэри фи фIэщу къафщтэ Хьисэ къыпкъырыкIыу Тхьэм Езым дызэрызригъэкIужын хъыбарыфIыр! Флъагъуркъэ, Хьисэ дэ аргуэру Тхьэм дыпещIэж. Фэ фи тхьэмыщкIагъэр къызыхэкIыр чыристанкIэ фызэджэж пэтми, члисэм етын хуей хьэкъыр ехьэкIыншэу ефтми, Тхьэм фекIужауэ фызэрыщымытырщ! Сэ вжызоIэ мыр:

Хьисэ фэр щхьэкIэ лIащ, фэ фи гуэныхьхэри Езым къищтащ, фэ иджыпсту Абы зыхуэвгъазэу Абы и пащхьэ лъэгуажьэмыщхьэ зыщивгъауэу мыр жефIэфын папщIэ: «Зиусхьэн, Уи деж къокIуэ гуэныхьщIакIуэ кIуэдар. Иджы Уэ си фIэщ уохъу! Уэ укъызощтэ !» Абы фыхуишэнщ гъащIэм, Тхьэм фекIужыным!

 

б) Хьисэ ди гъунэгъум дрегъэкIуж

 

Хьисэ дэлэл щыхъум деж, Тхьэм и закъуэкъым дызэкIужыр, ди гъунэгъухэми докIуж. Абы щыгъуэ сыт хуэдэ бэмпIэгъуэми кIэ егъуэт.   Иджыпсту гупсэхуу фыкъызэдаIуэ. Фэ чыристан ахъырзэманхэр къыфхэтщ, ауэ адрей цIыхухэр бэмпIэгъуэ къыфщыхъумэ, фи Iуэхухэр тэмэмкъым. ГурыIуэгъуэу пIэрэ ар фи дежкIэ? Фэ жыфIэнкIэ хъунщ: «Уэ си гъунэгъу фызыр пцIыхуу щытатэми! А бжэнри!» Сэ мыращ вжесIэнур: «Мис ар фIыуэ флъагъу хъуху, фи Iуэхухэр мытэмэму екIуэкIынущ». Хьисэ фи гъащIэм къыхыхьэмэ, хэти къыдит бампIэри, зэгуэпри мэкIуэд.         Флъагъуркъэ, Хьисэ зигу илъым тыгъэ хуещI Тхьэм екIужынри, зыгъэбампIэхэм езэгъыжынри. Фызэгуэзэгъэп цIыху гуэрхэр щыIэмэ, фэ Хьисэ фыхуэныкъуэщ. НэгъуэщI зыри сэбэп къыфхуэхъунукъым! Фи псантхуэхэм яхуэхьынукъым апхуэдэ гъащIэр. Хьисэ Тхьэм фригъэкIужу фэ фщыщ хъун хуейщ, итIанэ псоми я Iуэхур хъарзынэ хъунущ!

         Сэ ныбжьэгъу гъунэгъу дыдэ сиIэщ. Ар фэтэрыфI щIэсщ, ауэ а фэтэрыр зыт лIым хьэл мыхъумыщIэ хэлъщ, абы нэмыщI ахъшэкIи егъэлеяуэ нэпсейщ. ИкIи, мис, зымахуэ, фэтэрыр зейм абы тхыгъэ напэншэ гуэр къыхуигъэхьащ, мор – мы ищIэн, мопхуэдиз ахъшэу иритын хуейуэ унафэ къыхуищIу! Си ныбжьэгъум жиIэжаращ: «Си щхьэцхэм зыкърасащ. Си офисымкIэ сунэтIащ абы жэуап хуэстхыжыну. Абдеж си нэгу къыщIэуващ сэр щхьэкIи фэтэрыр зейм щхьэкIи лIа Хьисэ и теплъэр. ИкIи абы и ужькIэ псалъэ IейкIэ жэуап схуетыжакъым. Езым деж сыкIуэри, жесIащ: 

-              КъэдаIуэт, мыпхуэдэу куэдрэ дызэпсэлъэну? Дэ тIури дыцIыху гъэсащ. Хабзэ тхэлъу дызэпсалъэ мыхъуну пIэрэ? Сэ уэ пщIэ пхузощI! ИкIи апхуэдэу укъысхущытыну щхьэусыгъуэ уиIэкъым.

       Фэтэрыр зейр апхуэдэ щIыкIэкIэ щIригъэгъуэжри, зэщымыхьэу къызэтенащ. Иджы ахэр зэныбжьэгъущ: фэтэрыр зей цIыху хьэлыншэмрэ Хьисэ и гъуэгу ирикIуэмрэ.

Иджыри нэгъуэщI гуэр фхуэсIуэтэну хуит сыфщI. Гупсэхуу фыщыт. Дапоццэ зи цIэ гуэр соцIыху. Ар Францым щыщ  евангелистщ. Концлагерым зэрихуэ лъандэрэ абы и Iэр къутауэ къокIуэкI. Абы къысхуиIуэтэжа хъыбарыр зэи сщыгъупщэнукъым: 

-              Зэгуэр, шэджэгъуашхэм ирихьэлIэу, концлагерым и Iэтащхьэм сриджащ. Iэнэ ухуа зыщIэт пэш сыщIашащ. Зы цIыхут ар зыхуаухуар. Лагерым и унафэщIыр къыщIыхьащ. Сэ сымэжалIэрт. Лагерь Iэтащхьэр Iэнэм бгъэдэтIысхьащ, абы шхыныгъуэ хэплъыхьахэр хузэблахырт, зыр адрейм къыкIэлъыкIуэу, сэ зызмыгъэхъейуэ, абы сеплъу сыщытын хуейт. И теплъэ псомкIи абы сигъэлъагъурт ишхыр зэрыфIэIэфIыр, сэ сыныбаджэу, сыджэлэным сынэсауэ, сыщытт. Ауэ ари фIэмащIэ хъуащ абы. Кофе къыхуахьа нэужь, зэкIуэцIышыхьа гуэрхэр Iэнэм къытрелъхьэри, абы жеIэ: «Къаплъэт мыдэ, уи фызым Париж кърыригъэхри пыченэ къыпхуригъэхьащ!» Сэ сщIэрт Парижи цIыхур ерыскъыкIэ гугъу зэрыщехьыр, а пыченэр схуигъэжьэн папщIэ, си фызым куэд зэригъэзэхуэн хуей зэрыхъуар. ИкIи, мис, лагерь Iэтащхьэм ар ешхри, щысщ. Сэ селъэIуащ абы: «Сэри зы нэхъ мыхъуми къызэт, сшхыну аракъым, си щхьэгъусэм и фэеплъу зесхьэнущ».

Ауэ дыхьэшхыурэ зы  къимыгъанэу ишхащ. 

Мис апхуэдэр зэгуэпыр ин хъуурэ лъагъумыхъуныгъэм щыхуэкIуэ дакъикъэщ! Дапоццэ адэкIэ къыпищащ: 

-              А напIэзыпIэм си дежкIэ гурыIуэгъуэ хъуащ «Тхьэм и лъагъуныгъэр дигухэм кърилъхьащ» жыхуиIэ псалъэхэм къарыкIыр. Сэ а цIыхур фIыуэ слъагъу хъуащ. Сэ мыпхуэдэу сегупсысырт: «Си цIыху тхьэмыщкIэ! Уэ фIыуэ укъэзылъагъуфын щыIэкъым. Уэ укъэзыухъуреихьыр лъагъумыхъуныгъэщ!

Сыту фIыщэ, дауэ хъуами, сэ Тхьэм и быну сызэрыщытыр!» КъывгурыIуэрэ?

Дапоццэ абы гущIэгъу хуищIыфынут. Ар а цIыхум хуэбампIэртэкъым. УнафэщIым ар зыхищIащ: ар къэтэджри пэшым щIэцIэфтащ! Зауэр иуха нэужь, Дапоццэ зэгуэр абы деж кIуэгъащ. Модрейм къызэрилъагъуу и фэр пыкIащ: 

-              Уилъ пщIэжыну ара? - жиIэри. 

-              Аращ, - жиIащ Дапоццэ, -  силъ сщIэжынущ. Кофе сыщефэнущ уи деж. Сэ торт къыздэсшащи, дытIысынщи, зэдэтшхынщ! 

Модрейм къыгурыIуащ: Хьисэ и унафэ щIэтым зыгуэр илъагъу мыхъуу щытыфынукъым, ар хуэхамэщ зэгуэпым, сыту жыпIэмэ абы и гум илъ хъуащ Тхьэм и фIылъагъуныгъэр. 

Сэ, къалэшхуэм и дин пашэ лIыжьым, куэдрэ къысхуихуащ мыпхуэдэ тхьэусыхафэ сыщIэдэIуну: 

-              Сэ сыщхьэзакъуэщ. Сэ зыми фIыуэ сыкъилъагъуркъым! 

АдэкIэ седэIуэжыфынукъым апхуэдэ псалъэхэм. Абдеж мыр жысIарэт жызоIэ: 

-              Уэ езыр-щэ? Уэ щхьэкIэ» Абы фIыуэ сыкъилъэгъуащ!» жызыIэфын гуэр щыIэ? ФщIэрэ, сэ делагъэу собж цIыхухэр мыр жаIэурэ зэпыу имыIэу щытхьэусыхэкIэ: дунейм лъагъуныгъэ лъэпкъ теткъым, абы щыгъуэми езыхэр мылым нэхърэ нэхъ гу щIыIэхэу! ТIэкIу гурбияну сыпсалъэмэ, къысхуэвгъэгъу, сэ Рур хэкум сыкъыщыхъуащ, абыкIэ и щхьэр течауэ щопсалъэ.

         Ар къыщызгурыIуэм, сэ мурад сщIащ си лъагъуныгъэр згъэлъэгъуэну. ИкIи зэуэ гу лъыстащ дэ ди лъагъуныгъэр нэрылъагъу тщIын зэрытхузэфIэмыкIым. Дэ егъэлеяуэ дыщхьэхуещэщ. ЩыIэщ цIыху дигу ирихьхэр - ахэр фIыуэ тхуэлъагъунущ. Ауэ дигу темыхуэхэр-щэ?

                          Сигу къокIыж лэжьакIуэ-коммунист гуэрым сепсэлъауэ зэрыщытар: 

-              Дэ Шанхай щызэхэта кули тхьэмыщкIэхэм демонстрацэм дыхэтащ! 

Сэ абы жиIар хуэзгъэщIэгъуакъым: 

-              Ар хъарзынэщ! Ауэ уи гъунэгъум дауэ ухущыт?

Абы къыжьэдэлъэтащ: 

-              Ар къысхуэзэ хъужыкъуэмэ, хуэфIыр лъысынщ! 

        КъывгурыIуэрэ? «Ппэжыжьэр фIыуэ лъагъу», - жаIэмэ, ар апхуэдэу гугъукъым, ауэ «Уи гъунэгъур фIыуэ лъагъу», - жаIэмэ, ар куэдкIэ нэхъ гугъущ.

         Аращи, сэ къызолъытэ дунейр нэгъуэщI щыхъункIэ хъунур си гъунэгъур фIыуэ слъагъуфа нэужькIэу, абы хызогъэхьэ гъунэгъу гугъусыгъури, шынагъуэри, Iей зигу къысхуилъри. Сэ езым а жысIар къысхуэгъэкъаруунукъым. Ар Тхьэм тыгъэ къыпхуищIыну аращ. Дауи, си ныбжьэгъухэ, ар Iуэху тынщ цIыкIукъым, сэ езым згъэунэхуащ зи гугъу сщIыр: Хьисэ ди гъащIэм къыхыхьэу Тхьэм дезэгъыныр тыгъэ къытхуищIмэ, итIанэ ди гъунэгъуми дезэгъыныр тыгъэ къытхуищIыну хэтмэ, а Iуэхур гугъусыгъуу йокIуэкI, сыту жыпIэмэ Абы дэ дегъэлъагъуж адрейхэм дэ дызэрагъэбампIэм нэхърэ IэджэкIэ нэхъыбэу дэ езым ахэр зэрыдгъэбампIэр, дэ адрейхэм ягу дытрагъэхуэныр куэдкIэ зэрынэхъ гугъур. Хьисэ зэрысцIыху лъандэрэ, Абы сэ сегъэлъагъуж адрей цIыхухэм сазэрыхущытыр. ИкIи абдеж нэхъ нэIурыт мэхъу КъегъэлакIуэр жорым зэрыкIэрылIыхьамрэ Абы ди гуэныхьхэр зэригъэгъумрэ. 

         КъывгурыIуэрэ? Дунейм и революцэ нэхъ ин дыдэр ирегъэкIуэкI Хьисэ, ауэ Ар къэтщтэн хуейщ! Абы къыхэкIкIи сэ сыныволъэIу фыкъызэдаIуэ къудейкIэ зэфIэвмыгъэкIыу Хьиси фи фIэщу къэфщтэну. Сэ сыхуейт фэ мыр жыфIэну: «Сэ Хьисэ къэзгъуэтащ! Езыми сэ сыкъигъуэтащ!»

..

                       .