Библие Хъыбархэр 3

 

ИЛЯС БЕГЪЫМБАРЫР ЩIАКХЪУЭ ЩХЬЭКIЭ ЗЭРЫЛЪЭIУАР
 

Мы Iуэхур къыщыхъуар Ахав пащтыхьыр Израилым и тепщэу щыщытарщ. Абы и къалэнт Тхьэр фIыуэ ялъагъуу цIыхухэр игъэсэну, Абы и унафэм щIэту игъэпсэуну.

АрщхьэкIэ пащтыхьыр езыр зыхуэлэжьар гъащIэ къызыбгъэдэкI Тхьэратэкъым, БаIалт. Ар дэнэ къэна, Тхьэ пэжым фIэщхъуныгъэ хузиIэу Абы елъэIухэм тезыр ятрилъхьэрт.

Тхьэр хуейт Израил лъэпкъым дэIэпыкъуну. А мурадыр иIэу Абы цIыхухэм къахуигъэкIуащ и бегъымбарыр. Бегъымбарым ИляскIэ еджэрт. Тхьэм и унафэр бегъымбарым къыжриIэрти, Тхьэм жиIар Иляс цIыхухэм яжриIэжт.

Тхьэм и бегъымбарыр Ахав пащтыхьым лIыкIуэ къыхуищIащ зэгуэрым. Иляс кIуэри, пащтыхьым моуэ жриIащ:

„Тхьэм жиIэр мыращ: Уэ, пащтыхь Ахав, си унафэр бгъэзащIэ ухъуху, зы уэшх ткIуэпс щIым къыхэткIуэнукъым“.

Пащтыхьыр къэгубжьщ, бегъымбарым къытекIиери къыщIихужащ.

Апхуэдэу щыхъум, дунейр уэгъум зэщIиIулIащ. Псыи псыкъуии къанэ щымыIэу игъущIыкIащ. Пащтыхьри цIыхухэри псыхуэлIэм ихьырт, ауэ зы псы Iубыгъуэ зыщIыпIи щыбгъуэтыртэкъым.

Пащтыхьым Иляс гужьгъэжь къыхуищIащ. Щымыхъум, Иляс кIуасэри Сарептэ жыхуаIэ къалэ цIыкIум щыпсэуну кIуащ. Тхьэм Иляс къыжриIащ: „Мы щIыпIэм уэ къыщыбгъуэтынущ бысым пхуэхъун цIыхухэр“.

Тхьэм Иляс къыжриIащ къуэ цIыкIу закъуэ иIэу фызабэ гуэр Сарептэ къалэм зэрыщыпсэур. Ахэр хуабжьу тхьэмыщкIэщ, ауэ Иляс фIыуэ къыкIэлъыплъынущ. „Абыхэм я деж ущыIэмэ, зы щхьэкIи умышынэ“, - жиIащ Тхьэм.

Иляс ищIэртэкъым а цIыхубзыр зыщыпсэур, ауэ Сарептэ къэса къудейуэ, жьэгум дилъхьэн чыщч гуэрхэр къищыпу абы зы фыз къилъэгъуащ. Ар бэлэбанэу хуэпат, ешагъэфи тетт.

Иляс еупщIащ абы: „Ярэби, сэ хуабжьу сымэжэлIащ, щIакхъуэ Iыхьэрэ псы тIэкIурэ къызумытыфыну пIэрэ?“

Фызыр къэуIэбжьарэ игъэщIагъуэу къеплъащ абы.

„Ди щIыпIэм Iэджэ щIауэ уэшх ткIуэпс къызэрыщемышхар умыщIэу ара уэ?“ – къеупщIащ ар Иляс.

Губгъуэм зы щхьэмыж нэхъ мыхъуми щыплъагъунукъым, къыщыкIакъым. Зы хьэжыгъэ IэмыщIэрэ бжэмышх из дагъэрэ - аращ ерыскъыгъуэу ди унагъуэм илъыжыр.

Унэм згъэзэжа нэужь, си къуэмрэ сэрэ щхьэкIэ а къытхуэна тIэкIур сыпщэфIыжынущ сэ. АдэкIэ - гъаблэр къытпоплъэ“, -жиIащ фызым.

„А хьэжыгъэмрэ дагъэмрэ сэ сшхын къысхухэщIыкI, - жриIащ Иляс абы, - итIанэ плъагъунщ уэрэ уи къуэмрэ Тхьэм и гущIэгъум фызэрыхимынар“.

Арати, цIыхубзым Иляс иригъэблэгъащ. Хьэжыгъэ тIэкIур тхьэву ипщщ, цIыкIуцIыкIуурэ зэпиупщIри игъэжьащ.

Игъажьэри, мо щIакхъуэ цIыкIунитIэхэр Иляс къыхуихьащ. Иляс ар зэришхыр щилъагъум, фызым и нэхэм нэпсыр къыщIэуват. „Сыт иджы сэ си къуэм езгъэшхынур?“ - къеупщIащ ар Иляс.

АрщхьэкIэ, Iэнлъэм иплъэмэ... Телъыджэтэкъэ: абы илъа хьэжыгъэр зэрилът. Кхъуэщыным иплъэмэ - дагъэ тIэкIур зэритт!

Абдежым щыщIидзэри, фызым махуэ къэс щIакхъуэ пIащIэ цIыкIухэр Илясй, езыми, и къуэми щхьэкIэ игъажьэу хуежьащ. Махуэ къэс ар Iэнлъэм иплъэрт. Iэнлъэм илът а илъам хуэдиз дыдэ хьэжыгъэу. ИтIанэ ар иплъэрт кхъуэщыным. Абыи а итам хуэдиз дыдэ дагъэу итт.

Фызым и къуэ цIыкIур сымаджэ къэхъуащ зэгуэрым. Узыр апхуэдизкIэ хьэлъэти, хуэмыхьу сабийр илIыкIащ.

„Иджы сэ си закъуэ дыдэрэ фIыуэ слъагъун, сызэубзэрэбзэн симыIэу сыкъэнащ, - жиIэурэ гъырт фыз тхьэмыщкIэр. - Сэ уэ сыныпкIэлъыплъати, Иляс, сыт мыгъуэ-тIэ си къуэ закъуэр лIэну Тхьэм Iэмыр щIищIар?“

Иляс щIалэ цIыкIум и хьэдэ гъуэлъыпIэм илъыр къищтащ.

„Мыр тIэкIурэ си деж щрыреIэ“, - жриIащ абы гуауэм ихь цIыхубзым.

Иляс щIалэ цIыкIум и хьэдэр езыр щыжей пэшым ихьри, зрылъ гъуэлъыпIэм ирилъхьащ. ИтIанэ бжэр хуищIри, абы Тхьэм зыхуигъэзащ.

„Ди Тхьэ, щхьэ мыпхуэдэ гуауэ къэбгъэхъуа? - еупщIащ Иляс Тхьэм. - Сэ Уэ хуабжьу сынолъэIу: мы щIалэ цIыкIур къэхъужыну Iэмыр щIы. Абы и анэр сэ къыскIэлъыплъащ, и ерыскъы сшхащ".

Иляс и лъэIур зэхихри, Тхьэм щIалэ цIыкIур къигъэхъужащ. Иляс щIалэ цIыкIум еплъри, ар зэрыбауэр къилъэгъуащ.

Иляс щIалэ цIыкIур и IэплIэм ирилъхьэри, анэр зыщIэлъ пэшым къихьыжащ. „Къеплъыт, - жриIащ абы фызым, - уи къуэр псэущ. А6ыкIэ селъэIуати, Тхьэм ар къигъэхъужащ".

„Сыту гуфIэгъуэшхуэ! - къэгуфIащ фызыр. - Мис иджы сэ си фIэщ мэхъу уэ Тхьэм и лIыкIуэу узэрыщытыр“. Ар жиIэри, фызым Тхьэм зыхуигъэзащ: „Хуабжьу фIыщIэ пхузощI, уэ, ди Тхьэ, Иляс Сарептэ къалэм къызэрыбгъэкIуам щхьэкIэ. Абы и фIыгъэкIэ сэ уэ пхузиIэ хъуащ фIэщхъуныгъэ“.

Иляс бегъымбарым теухуа хъыбарыр фэ къыщывгъуэтынщ Пасэрей ЗэгурыIуэныгъэм (Ветхий Завет) иту Шамуел и хъыбар зэрыт япэ тхылъым и I7-нэ псалъащхьэм.   

 

ИЛЯС БЕГЪЫМБАРЫМРЭ БАIАЛ И БЕГЪЫМБАРХЭМРЭ

 

ИлъэситI хъуауэ зы уэшх ткIуэпс къыщешхатэкъым Израилым. Ар зи лажьэр пащтыхь Ахавт. Тхьэм и бегъымбар Иляс Ахав деж къигъэкIуащ. Иляс бегъымбарым Ахав къыжриIащ: „Тхьэр уэ къэбгъэгубжьащ, Ахав, абы и жыIэм узэремыдаIуэм, и унафэм узэрыщIэмытым, тхьэ нэпцIхэм уазэрыхуэпщIылIым къыхэкIкIэ. УзэрыкъуэншамкIэ зыбумысыжрэ Тхьэм хуэжыIэщIэ ухъумэ, мис итIанэ абы уэшх къригъэшхынущ".

Ауэ Ахав пащтыхьыр Иляс бегъымбарым жиIэм едэIуакъым. ЕтIуанэуи Тхьэм Иляс бегъымбарыр Ахав пащтыхьым деж кIуэну иригъэжьащ.

Иляс пащтыхьым деж кIуэрт. ЗдэкIуэм, елъагъу яхъуэкIун удз лъэпкъ къызэрымыкIыжым къыхэкIкIэ фэмрэ къупщхьэмрэ къахуэна Iэщ къомыр. ЦIыхуу зыхуэзэу хъуари, ещхьыркъабзэу, зэтегъуат икIи улэуат. Абыхэм я хьэсэхэм гъавэ лъэпкъ къытекIатэкъым, абы къыхэкIыуи яIэтэкъым яшхын.

Ахав и пащтыхь сэрейм къыхуэблэгъа Иляс щалъагъум, цIыхухэм жаIащ:

„Сыту улIыхъужь уэ, Иляс. Ахав пащтыхьыр уэ хуабжьу къыбгъэгубжьащ икIи уэ абы укъилъыхъуащ!“

Арати, Иляс къызэрилъагъуу, Ахав пащтыхьыр къытекIиящ:

„А-а-а, Израилым и цIыхухэр зыгъэутхъуэр укъэкIуай!“

Ар къыщыжриIэм, Иляс пащтыхьым жэуап къритыжащ:

„Сэракъым цIыхухэр зыгъэутхъуэр, уэращ, Тхьэм и унафэм ебэкъуа уэ. Тхьэм и жыIэм утетамэ, мы тхьэмыщкIагъэр ди хэкум къихъуэнутэкъым!“

„Уэ узыхуэжыIэщIэн хуейр Тхьэ дыдэращ, - жриIащ Иляс Ахав, - ауэ тхьэ нэпцIхэрщ уэ зызыхуэбгъэшыр. БаIал тхьэ нэпцIщ, абы лъэкIыныгъэшхуэ иIэкъым. Ухуеймэ, хьэкъ пщысщIынщ сэ ар. БаIал и бегъымбархэмрэ Израил лъэпкъымрэ Кармил Iуащхьэм деж къыщызэхуэшэс. Мис итIанэ уи нэкIэ плъагъунщ Тхьэ дыдэр хэтми“.

Ар зэхэзыха Ахав пащтыхьым унафэ ищIащ Израил лъэпкъымрэ БаIал и бегъымбархэмрэ Кармил Iуащхьэм деж къыщызэхуэсыну. Иляс жиIащ:

„Дэ тыхь мафIащхьэхэр дгъэхьэзырынщ, ауэ зэкIэ зэщIэдгъэнэнкъым. БаIал и бегъымбархэр я тхьэм ирелъэIу тыхь мафIащхьэхэр зэщIигъэнэну. Тыхь мафIащхьэр зэщIэзыгъанэ Тхьэр мис ар Тхьэ дыдэщ".

Iуащхьэм и щыгум псори къыщызэрызэхуэсу БаIал и бегъымбархэм тыхь мафIащхьэ мывэкIэ ящIащ. ИтIанэ абыхэм шкIэ укIар тралъхьащ тыхь Iэнэм, ауэ мафIэр зэщIагъэнакъым.

ИтIанэ Иляс къызэфIэувэщ, цIыхубэм закъыхуигъазэри, псоми зэхахын хуэдэу къахэгуоуащ:

„И чэзу хъуащ фэ губзыгъэ фыхъуну. ЩыIэр Тхьэ дыдэу шэч къызытрамыхьэжым и закъуэщ! ТхьитIым уахуэжыIэщIэ хъунукъым -

БаIали Израилым я Тхьэми.

ИIэ, мис иджы девгъэплъ хэт и тхьэ мафIащхьэр къызэщIигъэнэфми. ИтIанэ наIуэ къэхъунщ Тхьэ дыдэр хэтми: БаIал, хьэмэ Израилым я Тхьэра?“

Иляс БаIал и бегъымбархэм яжриIащ, ахэр я Тхьэм япэ елъэIуну. Ар щызэхахым, бегъымбархэр я тхьэм елъэIуу, зэрыгъэкIий-зэрыгъэгуоууэ щIадзащ. Махуэ псокIэ я тхьэм елъэIуащ ахэр къикI щымыIэу.

Я Iэгухэр зэтрагъауэурэ абыхэм тыхь мафIащхьэр къафыхьырт, арщхьэкIэ мафIэр къызэщIэнэртэкъым.

Иляс ящыдыхьэшхырт абыхэм:

„БаIал жеяуэ фызэхимыхыу арауэ пIэрэ? Моуэ нэхъ иныIуэу фызэрыгъэкIий, къэвгъэушын хуэдэу! ИтIанэ, хэт ищIэрэ, фи тыхь мафIэр фхузэщIигъэнэнкIэ хъунщ!“

Ар зэхэзыха бегъымбархэр нэхъ иныжу кIийуэ, гуоууэ, я тхьэ БаIал къраджэу хуежьащ. Нэхъри щIагъэхуабжьэу абыхэм къафыхьырт тыхь мафIащхьэр, арщхьэкIэ мафIэр зыи къызэщIэнэртэкъым.

ИтIанэ чэзур къылъысащ Иляс бегъымбарым. Абы израил цIыхухэм яжриIащ, къэхъур ялъагъун хуэдэу, псори гъунэгъуу къекIуэлIэну. Мывэ инышхуэхэр зэхуихьэсым, зэтрилъхьэурэ, абы Тхьэм тыхь мафIащхьэ хуищIащ. ХуищIри, шкIэ яукIар трилъхьащ тыхь мафIащхьэм. ИтIанэ тыхь мафIащхьэм и хъуреягъыр куууэ дитIыкIащ. Апхуэдэу ищIа нэужь, пэгунхэм псыр из ищIым, тыхь мафIащхьэм трикIэурэ, тыхь мафIащхьэр зэрыщыту псыф ищIащ, тыхь мафIащхьэм и хъуреягъ дитIыкIами псыр дэз хъуащ.

Арати, Иляс тыхь мафIащхьэм бгъэдэувэри Тхьэм макъ лъагэкIэ еджащ:

„Ди Тхьэу Тхьэшхуэ! СынолъэIу, уи лъэкIыныгъэ щэджащэр цIыхухэм наIуэ ящыщIи къагурыгъаIуэ Тхьэ дыдэр, Тхьэ нэсыр уэрауэ зэрыщытыр, уэр нэмыщI нэгъуэщI Тхьэ Израилым зэримыIэр!“

Ар зэрыжиIэу, тыхь мафIащхьэм мафIэ бзиишхуэ къытелыдыкIщ, лъагэу зиIэтри, Iугъуэ фIыцIэм уэгум зригуэшащ. А мафIэм хисхьащ псори - шкIэ укIари, тыхь мафIащхьэри, ахэр дэнэ къэна - псыри. Ар щалъагъум, псори зыжьэу къэкIиящ:

„Израилым и Тхьэр дэри ди Тхьэщ! Дэ дыхуейщ ди Тхьэм дыхуэлэжьэну!“

ИтIанэ Иляс бегъымбарым зыхуигъэзащ Ахав пащтыхьым:

„Мис иджы укъыхэмыщту уэри унэм укIуэж хъунущ. Сэ си тхьэкIумэм къоIуэ уэшх макъ".

Псоми къалъэгъуащ тенджызымкIэ къикIыу пшэ Iэрамэ къызэрыкIуэр.

Пшэ Iэрамэр псынщIэ дыдэу гъунэгъу къэхъурт. Ауэрэ уафэр зэрыщыту пшэм зэхуищIри, кIыфI къэхъуащ. ЩIыгу гъущIам къытеткIуэу хуежьащ уэшх ткIуэпс пIащэхэр. ЗанщIэуи кърикIыхащ уэшхышхуэ. Уэгъум кIэ игъуэтакIэт. Иджы тафэхэр удзыпцIэ дахэ хъужынут, хьэсэхэми къатынут гъавэ бэв. Ар и щIыкIэу цIыху псори я Тхьэм и Iэмырым къыщIыхьэжащ.

А хъыбарыр фэ къыщывгъуэтынщ Шамуел и хъыбар зэрыт япэ тхылъым и I8-нэ псалъащхьэм. 

 

НАХЬАМАН И ЩЭХУ ШЫНАГЪУЭР


Нахьаман Сирие къэралыгъуэм и дзэзешэт. Сириер абы щыгъуэ Израилым къезауэрт. Зэгуэрым Израил хэкум гъэр къыщащIа цIыху куэд къахури Нахьаман я пашэу Сирием щыщ зауэлIхэм къагъэзэжат. Сирием я пащтыхьыр хуабжьу къыхуэарэзыт Нахьаман бийм зэратекIуам щхьэкIэ, абы пэкIуэуи пащтыхьым Нахьаман и щхьэгъусэм тыгъэ къыхуищIащ гъэру къахуауэ Израилым щыщ хъыджэбз цIыкIу.

Нахьаман дзэзешэ щэджащэт, ауэ и гъащIэр жыхьэнмэ къыщищIу зы щэху гуэр иIэт абы. И ныбжьэгъухэми зауэлIхэми - зыми ящIэртэкъым ар. Ахэр дэнэ къэна, Сирием и пащтыхь дыдэми зыри хищIыкIыртэкъым Нахьаман и щэхум. Зы цIыху закъуэт а щэхур зыщIэу дунейм тетыр: Нахьаман и щхьэгъусэр. А щэхур зищIысырати, Нахьаман уз бзаджэ къеузырт - фаджэ уз. Зы махуэм нэхърэ къыкIэлъыкIуэм нэхъ Iей хъурт а узыр.

Нахьаман тхьэмыщкIэ! Узыр здынэса и щIыфэр щыгъыным къызэрыщIимыгъэ-щыным хэтрэ абы иригузавэ зэпыту псэурт ар. АрщхьэкIэ узыр нэхъри екIакIуэрт.

Нахьаман и щхьэгъусэр абы хуабжьу иригузавэрт. Абы и лIыр фIыуэ илъагъурт, абы къыхэкIыуи и гукъеуэр цIыхухэм ящихъумэурэ екIуэкIырт. НасыпыфIэ дыдэу закъыщигъэхъурт абы цIыхухэм.

Нахьаман и фызым хъарзынэу къыгурыIуэрт, щхьэгъусэм и ныбжьэгъухэм абы къеузыр къащIэмэ, Нахьаман къалэм зэрыдагъэкIынур, зы къулыкъу лъаги Сирием къызэрыщылъамыгъэсыжынур.

Пщэдджыжь гуэрым Нахьаман и фызыр къэушарэ гухэщIу гъыуэ хэлът. Нахьаман

Израилым къриша хъыджэбз цIыкIум ар щилъагъум, игу щIэгъуащ зиусхьэн гуащэм.

„КхъыIэ, умыгъ, - жиIащ хъыджэбз цIыкIум. - Уи нэкIур нэпсым плъыжь ищIынущ.

Къеплъыт мыдэ, сэ уэ нобэ пщыгъыну къыпхуэсхьащ уи бостей гъуэжь нэхъыфI дыдэр. ИIэт, тIэкIу къыпыгуфIыкIыт!“

АрщхьэкIэ Нахьаман и фызыр гъыртигъырт.

„Сыт къэхъуар, лIо апхуэдизу гухэщIу ущIэгъыр?“ - къеупщIащ абы унэIут хъыджэбз цIыкIур.

„Дзэзешэ Нахьаман сымаджэщ. Абы фаджэ уз бзаджэр къофыкI, - жиIащ гуащэм, нэпсым къыхэпсэлъыкIыурэ. - Апхуэдэ уз абы къызэреузыр къащIэмэ, цIыхухэм я щIыб къытхуагъэзэнущ. Нахьамани ягъэкIуэнущ жыжьэ дыдэ“.

Ар щызэхихым, хъыджэбз цIыкIур хэгупсысыхьащ. Апхуэдэу тIэкIурэ щыта нэужь, ар зэуэ къэкIиящ: „Сэ Израилым щыIэу соцIыху фэ къывдэIэпыкъуфын. Абы и цIэр Iэлишэщ, ди Тхьэм и бегъымбарщ. Израилым ди Тхьэм хуэгъэхъужынущ Нахьаман“. Нахьаман и щхьэгъусэм а зэхихар и фIэщ хъуащ, зэуэ щIэпхъуэри и лIым жриIэну кIуащ.

Нахьаман и щэхур, икIэм-икIэжым, пащтыхьым хуимыIуатэу хъуакъым, Израилым кIуэну хуит зыкъригъэщIын щхьэкIэ. Нахьаман цIыху зыбжанэ зыщIигъуащ, Израилым я пащтыхьым хуэгъэза тхыгъи къыздищтащ. Нахьаман Израилым нэс къыщIэкIуар абы и пащтыхьым щыжраIэм, пащтыхьыр зэуэ къэшынащ.

„Сирием и пащтыхьыр аргуэру къыттеуэну хэту армырауэ пIэрэ?! - кIиящ пащтыхьыр. - ЛIо, сэ Тхьэ сыхъуа я гугъэ, дзэзешэ Нахьаман згъэхъужын хуэдэу!“

Абы ирихьэлIэу Iэлишэ бегъымбарым и лIыкIуэ пащтыхьым къыхуэкIуащ.

„Зы щхьэкIэ умышынэ, - къыжрыригъэIащ Iэлишэ пащтыхьым. - Мыдэ си деж къэгъакIуэ Нахьаман“.

Израилым я пащтыхьыр хуабжьу къэгуфIэжащ. „Уэ Iэлишэ бегъымбарым дежщ уздэкIуэн хуейр“, - къыжриIащ абы Нахьаман. Пащтыхьым и унэIутхэм загъэщхъыпэурэ Нахьаман щхьэщэ къыхуащIащ, ар пащтыхь сэрейм къыщыщIэкIыжым. „Iэлишэ бегъымбарыр Нахьаман сэбэп къыхуэхъуну дыщогугъ, - жаIэурэ тепсэлъыхьырт цIыхухэр. - Тхьэм жимыIэ аргуэру Сириемрэ дэрэ дяку зауэ къыдэхъуэну".

Арати, Нахьаман шыгум ису Iэлишэ и унэм кIуащ. АрщхьэкIэ зыми иригъэблэгъакъым ар унэм щIыхьэну. Iэлишэ и унэIутыр унэм къыщIэкIри, бегъымбарым и псалъэхэр къыжриIащ итIанэ:

„Iэлишэ къыбжеIэ: Иордан псым блэнейрэ зыщIэгъэмбрыуи, узыншэ ухъужынущ". Нахьаман зэуэ къэлыбащ:

„ЕIмэ-еIщ, Iэлишэ апхуэдэу щхьэ къызжиIэн хуей хъуа сэ! Езы Iэлишэ къыспежьэу Тхьэм схуелъэIуну си гугъащ сэ, езым псым зыщIэгъэмбрыуэ, жи! Сыхуейкъым сэ фи псы фIейм зыщызгъэпскIыну!“

АрщхьэкIэ Нахьаман и унэIутхэр къелъэIуу къэуващ:

„Сыт абы зыщыбгъэпскI щхьэкIэ къэхъунур? Зыри хэлъкъым а бегъымбарым жыхуиIар бгъэзэщIэным. КъомыхьэлъэкIыу щIы абы зэрыжиIэм хуэдэу. Сабийми хуэгъэзэщIэн Iуэхущ ар“.

Сытми, Нахьаман къытрагъэхьэри, псым хыхьащ. Хыхьэри, зыщIигъэмбрыуащ, мыдэкIэ псы Iуфэм Iутхэм абы дапщэрэ зыщIигъэмбрыуэми ябжу щIадзащ: „Зэ, тIэу, щэ!“ - ахэр гуфIэрт Нахьаман щIыгъуу псым хыхьэн хуейуэ къазэрыхудэмыкIам щхьэкIэ.

Псыр утхъуат икIи щIыIэт. Нахьаман и лъакъуэхэр мывэ дзакIэ жанхэм тецIэнтхъукIырти, афIэкIа зыщIимыгъэмбрыуэу псым къыхэкIыжыным нэсат.

„ПлIэ, тхуэ, хэ! - жаIэурэ къэкIийрт псы Iуфэм Iутхэр. - УщIемыгъуэж, Iэлишэ жиIакъэ: блэнейрэ!“

Ебланэу зыщIигъэмбрыуа нэужь, Нахьаман и щIыфэр къызэпиплъы-хьащ. ЩIалэ цIыкIу щIыфэ фIэкIа умыщIыну, ар джафэт икIи къабзэт. Фаджэ узым и зы лъэужьи телъыжтэкъым абы, Нахьаман хъужат! Сытым хуэдиз гуфIэгъуэт абы иIэр!

И унэIутхэр зыщIигъури, ар пIащIэу Iэлишэ деж кIуащ, фIыщIэ хуищIыну  хуейти. Нахьаман Iэлишэ бгъэдыхьэри жриIащ:

„Мис иджы сэ къызгурыIуащ Тхьэ пэжу щыIэр Израилым я Тхьэр зэрыарар!“ А махуэм щыщIэдзауэ Израилым я Тхьэм пщIэ хуищIыну игу ирилъхьащ Нахьаман. Ар пIащIэрт нэсыжу зэрыхъужар и фызым жриIэну, Тхьэ пэжым и къарур зэрыиныр хуиIуатэу абыи фIэщхъуныгъэ хилъхьэну.

Мы хъыбар къыщывгъуэтынущ Пащтыхьхэм я хъыбар зэрыт етIуанэ тхылъым и етхуанэ псалъащхьэм.  

  

БИЙХЭМ Я КУМ

Израил цIыхухэр гуфIэрт, Тхьэми щIыхьышхуэ хуащIырт. Абы цIыхухэм тепщэ къахуищIат Тхьэм хуэжыIэщIэу пащтыхь гуапэ. Езекиет а пащтыхьым и цIэр. Езекие Тхьэр фIыуэ илъэгъуат, абы емычэнджэщарэ и нэфI къыхуримыщауэ зыри илэжьыртэкъым.

Апхуэдэу зэрищIыр хъарзынэт абы, сыту жыпIэмэ а зэманым Ассирием и пащтыхь Сеннахирим жыхуаIэр бий шынагъуэу израил цIыхухэм яIэт.

Пащтыхь Сеннахирим цIэрыIуэт. Псоми ящIэрт ар егъэлеяуэ зэрылъэщыр икIи зэрыкъанлыр, абы къыхэкIыуи, и цIэ къудейр щыжаIэкIэ, цIыхухэр шынэрт. „Абы и дзэр Iэщэ шынагъуэхэмкIэ зэщIэузэдащ, зэзауэу хъуам ятокIуэ, къали къуажи зыхуэзэр зэтрегъасхьэ“, - жаIэрт Ассирием и пащтыхьым щхьэкIэ цIыхухэм.

Ауэрэ, махуэ гуэрым Ерусалим дэсхэм къащIащ пащтыхь Сеннахирим и дзэр абыхэм я къалэм къызэрыхуэкIуэр.

ЦIыхухэм къалэ куэбжэхэр ягъэбыдащ. Ерусалим къызэрыщIыхьа блынхэр лъагэт икIи быдэт. Пащтыхь Езекиерэ и цIыхухэмрэ блыным махуэ къэс дэкIуейурэ плъэрт, Ассирием и дзэр гъунэгъу къахуэхъуарэ къахуэмыхъуарэ къащIэну. Абыхэм ящIэрт пащтыхь Сеннахирим, Ерусалим къыщыхуэкIуэм, зыхуэза нэгъуэщI къалэхэри къызэритIысыхьар.

Арати, икIэм-икIэжым, Сеннахирим и дзэр Ерусалим къызэрыщIыхьа блыным къекIуэлIащ. Я бжыпэ цIухэр дыгъэм пэлыду зауэлIхэр зэхэтт. ДыхьэпIи дэкIыпIи имыIэу къалэр къаувыхьати, Ерусалим дэсхэр дэубыда хъуат.

Псом япэрауэ, Сеннахирим и лIыкIуэр къалэ блыным бгъэдигъэхьащ. ЛIыкIуэр блыным бгъэдыхьэри, моуэ жиIэу кIиящ: „КъыдэкIыт, пащтыхь Езекие! Сэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэху пхуэсIуэтэнущ!“

Сеннахирим и лIыкIуэм епсэлъылIэну пащтыхь Езекие лIыкIуищ къыIуигъэхьащ къалэ куэбжэм.

Сеннахирим и лIыкIуэм жиIащ: „ФыкъыщIытпэувыр сыт? Фэр нэхърэ куэдкIэ дызэрынэхъ лъэщыр нэрылъагъущ. Пащтыхь Езекие Тхьэм и дэIэпыкъуныгъэм щогугъ, жыфIэну ара фызыхэтыр? Ар дыхьэшхэнщ, дыхьэшхэнщ!“

Къалэ блыным къекIуэлIауэ зэхэт ерусалимдэсхэм Сеннахирим и лIыкIуэм жиIэу хъуар зэхахырт.

„ФемыдаIуэ а фи пащтыхь Езекие жиIэ шыпсэхэм, - жиIэрт лIыкIуэм. - Фэ зэи дэ фыкъыттекIуэнукъым. Пащтыхь Езекие щымыгугъыпхъэу Тхьэм щогугъ!“

„Сыт фэ фи Тхьэр адрейхэм я тхьэхэм нэхърэ нэхъыфIу къыщIэфлъытэр? - къэкIиящ лIыкIуэр аргуэру. - Адрей лъэпкъхэр хэдгъэщIащ дэ, фэри фыхэдгъэщIэнщ !

Фи Тхьэр къывдэIэпыкъуу фыкъихъумэн фи гугъэу фыщымыгугъ!“

Езекие пащтыхьым и лIыкIуэхэм зы псалъи падзыжакъым абы. Езекие пащтыхьым абыхэм унафэ къахуищIат лIыкIуэм жэуап ирамытыну.

Езекие пащтыхьым деж къагъэзэжри, лIыкIуищым Сеннахирим пащтыхьым и лIыкIуэм къажриIауэ хъуар яжриIэжащ. Езекие пащтыхьым зэхихар хуабжьу и жагъуэ хъуащ икIи игъэпIейтеящ.

Апхуэдэу щыхъум, а цIыхухэр Ешай бегъымбарым деж игъакIуэри, мып-хуэдэу жрыригъэIащ: „Сеннахирим и лIыкIуэм гъащIэр къызыбгъэдэкI Тхьэр игъэпудащ. Тхьэм дыкъихъумэну тхуелъэIу!“

Ешай Тхьэм хихауэ Абы и бегъымбарт. Тхьэм цIыхухэм къажриIэну хъуар Ешай къыжриIэрт, Ешаий Тхьэм къыжриIэхэр цIыхухэм яжриIэжырт.

Ешай бегъымбарыр гупсэхуу щIэдэIуащ Езекие пащтыхьым къыхуиIуэхуа псалъэхэм.

„А Сеннахирим жиIэм щхьэкIэ фымышынэ, - жиIащ бегъымбарым. - Тхьэм ирихужынущ Ассирием и дзэр ди щIым“.

А зэман дыдэм ирихьэлIэу, Езекие пащтыхьым деж къэкIуащ Сеннахирим пащтыхьым къыбгъэдэкI тхылъыр зыIыгъ лIыкIуэр. Тхылъым мыпхуэдэу итт:

„Уэ къыпщохъу фи Тхьэрсэ къыстекIуэн хуэдизкIэ щэджащэу. Ауэ сэ фIыдыдэу сощIэ фызэрыщыуэр. ИгъащIэкIэ сэ къыстекIуэнукъым а фи Тхьэр!“

Езыр еджа нэужь, Езекие пащтыхьым тхылъыр Тхьэм и унэшхуэм ихьащ. Тхьэм и унэшхуэм ихьри, Тхьэм и пащхьэм къыщызэIуихащ тхылъыр.

„Ди Тхьэу Тхьэ дыдэ! - зыхуигъэзащ Езекие Тхьэм. - Уэ дунейм къыщыхъу-къыщыщIэу хъуам ущыгъуазэщ. ЩIэдэIут, ди Тхьэ, Сеннахирим пащтыхьым уэ гъащIэ къызыбгъэдэкI Тхьэ пэжыр узэригъэпуд псалъэхэм. Абы и гугъэщ адрей лъэпкъхэм я тхьэхэм ещхьу, уэри пхъэм е мывэм укъыхэщIыкIауэ. Ди Тхьэу Зиусхьэн, абы дыкъегъэли, мы дунейм пащтыхьрэ пащтыхьыгъуэу тетым хьэкъ ящыщI цIыхухэм гъащIэ къезыт Тхьэ пэжу мы дунейм тетыр уэ, уэ зыр зэрыарар!“

Тхьэм зэхихащ Езекие пащтыхьым и псалъэхэр. Ешай бегъымбарым и унафэкIэ Сеннахирим пащтыхьым къахуитхам и жэуапу тхылъ ирагъэхьыжащ, мыпхуэдэу иту: „ДэркIэ дыхьэшхэнщ уи щхьэщытхъу псалъэхэмрэ дыбгъэшынэну узэрыхэтымрэ дедэIуэныр.

Фи дзэр къызэтригъэувыIэу, ди Тхьэм дыкъимыхъумэфыну къыфщохъу фэ. Ауэ ди Тхьэм ищIэххэрт фэ Ерусалим и блынхэм фыкъызэрекIуэлIэнур икIи дэ къыддэIэпыкъунущ ар. Ди Тхьэм дэ къыджиIакIэщ, фыкъыттекIуэн дэнэ къэна, къалэ куэбжэхэм фыкъызэрыдэмыхьэфынур. Ди Тхьэм жеIэ апхуэдэу!“

КъыкIэлъыкIуэ махуэм израил цIыхухэр къалэ блыным теувэри плъащ, бийхэм я Iуэху зытетыр зрагъэщIэну. Я нэкIэ ялъагъур я фIэщ яхуэщIыртэкъым абыхэм.

Сеннахирим и дзэ Ерусалим къэзубыдыну къэкIуар хьэдэ зэтехъуауэ блын лъабжьэм щIэлът. ЗауэлIхэр псори зэтелIащ. Израил цIыхухэм къагурыIуащ езы пащтыхь Сеннахирим зэрыщIэпхъужар. Мис апхуэдэ щIыкIэкIэ Тхьэм игъэпэжащ и псалъэр. Сеннахирим и дзэр къалэ блыным фIэкIыфакъым.

Пэжыгъэ зи гум илъ Езекие пащтыхьымрэ Ассирием щыщ Сеннахирим пащтыхьым и дзэр Ерусалим и блыным зэрыIукIуэдыхьамрэ теухуа хъыбарыр къыщывгъуэтынщ Пащтыхьхэм я хъыбар зэрыт етIуанэ тхылъым и I8-I9-нэ псалъащхьэхэм.  

  

ЕРЕМИЕ БЕГЪЫМБАРЫМРЭ ТХЬЭМЫЩКIАГЪЭШХУЭМРЭ

Еремие щIалэ дыдэт, Тхьэр япэу къыщепсэлъам щыгъуэ. Еремие хуабжьу игъэщIэгъуат ар. ИгъащIэм апхуэдэ лъэпкъ къехъулIатэкъым абы.

Тхьэм Еремие мыпхуэдэу къыжриIащ:

„Сэ уэ нэ пхуисщат укъамылъху щIыкIэ. Сэ си бегъымбар ухъунущ уэ. Сэ цIыхухэм сепсэлъэнущ уэ уи жьэкIэ“.

Еремие хуабжьу дзыхьмыщIти, шынэри мыпхуэдэу жэуап иритыжащ:

„Сэ бегъымбар къысхэкIынукъым. Иджыри сыщIалэIуэщ сэ, адрейуэ жысIэнури сщIэркъым“.

„Уэракъым жызыIэнур, сэращ, - жиIащ Тхьэм. - Сэ уэстынущ цIыхум яжепIэжыну псалъэхэр“.

Асыхьэтым Еремие зыхищIащ и Iупэм Iэпэ гуэрхэр къызэрецырхъар.

Тхьэм Еремие къыжриIащ къыхиха и лъэпкъыр абы фIыуэ зэрилъагъур. Пасэ дыдэу, лъэпкъыщIэ къэунэхуам и гъуазэу Ибрэхьим щыхиха лъандэрэ, Тхьэм ар фIыуэ илъэгъуащ.

„Ауэ цIыхухэм сэ сащогъупщэж, - жиIащ Тхьэм. - Сэ фIыуэ сыкъалъагъуу жаIэ щхьэкIэ, абыхэм зыхуагъэщхъ тхьэ нэпцIхэм, мывэм, пхъэм къыхащIыкIахэм. Иджы уэ си бегъымбару ущытынущ! Уэ уи къалэнщ къыхэсха си лъэпкъым и гупэр къысхуигъэзэжын зэрыхуейр цIыхухэм яжепIэну. КIасэ мыхъу щIыкIэ!“

Еремие Тхьэм и жыIэм едэIуащ. Тхьэм абы къыжриIащ, и псалъэр псоми зэхахын хуэдэу, Ерусалим дэт тхьэунэшхуэм кIуэн зэрыхуейр. Еремие Тхьэм и унэшхуэм бгъэдыхьэри, Тхьэм и псалъэхэр цIыхухэм яжриIэу къригъэжьащ.

„Тхьэм фэ къывжеIэ фи псэукIэр фхъуэжын зэрыхуейр, - жиIащ абы. - Абы жеIэ фи IуэхущIафэхэр илъагъу зэрымыхъур. Апхуэдэу щыт пэтми, фэ Тхьэм и деж Тхьэм и унэшхуэм фокIуэ. Фи псэукIэр фымыхъуэжауэ, фэ фыхуиткъым Тхьэм и унэшхуэм фыщIыхьэну!“

ЦIыхухэр Еремие жиIэм щIэдэIурт, ауэ ахэр хуейтэкъым Еремие и жьэкIэ Тхьэм къажриIар ягъэзэщIэну.

Еремие цIыхухэм ягу къигъэкIыжащ Тхьэм Ибрэхьим къызэригъэгугъауэ щытар.

„Тхьэм псалъэ итащ фыкъихъумэну, фIэщхъуныгъэ хувиIэу фыхуэлажьэу щытмэ“, - яжриIащ Еремие цIыхухэм.

„Фэ фепцIыжащ Тхьэм зэгуэр ефтауэ щыта псалъэм. Тхьэм фэ иджыри фIыуэ фыкъелъагъу, ауэ, фи псэукIэр фымыхъуэжмэ, Абы хуэгъэзэщIэнукъым ита псалъэр“. ЦIыхухэр едаIуэрт бегъымбарым жиIэхэм, ауэ и псэукIэр ихъуэжыну зыри иужь иттэкъым.

Еремие абыхэм итIанэ яригъэлъэгъуащ кхъуэщынщыкъу зыщIым и тыкуэн цIыкIур.

„Феплъыт мо кхъуэщыныщIым, - жиIащ абы. - Кхъуэщын ищIым быркъуэшыркъуэ щиIэм деж, сыт абы ищIэр?“

Зыгуэр къахэпсэлъыкIащ цIыхухэм:

„Зэхепщэжри, щIэрыщIэу ещI. Хэти ещIэ ар“.

„Пэж дыдэщ, - жиIащ Еремие. - „НтIэ, зэвгъащIэ: Тхьэми ар дыдэращ ищIэнур, Езым къигъэщIа лъэпкъыр къемыдэIуэж хъурэ гъуэгу пхэнж теувэмэ“. Я тхьэкIумэр тегъэхуауэ псори щIэдэIурт абы жиIэм.

Тхьэм Еремие къыжриIащкхъуэщынышхуэ къищэхуну. Еремие цIыхухэмяжриIащ:

„Тхьэм мыпхуэдэу жеIэ! Тхьэм фэ тезыр къыфтрилъхьэнущ, и унафэм фыщIэтыну фызэрыхуэмейм щхьэкIэ!“

Ар жиIэщ, кхъуэщынышхуэр лъагэу иIэтщ, тридзэри, „жьгъымб“ жиIэу Еремие икъутащ. „Мис мыращ Тхьэм къывищIэнур, - макъ лъагэкIэ жиIащ абы. - Бабилэн  и пащтыхьыр къыттеуэнурэ мы къалэр зэтрикъутэнущ!“ ЦIыхухэр шынауэ еплъырт кхъуэщыным и къутахуэ зэбгрылъэлъахэм. Ар кхъуэщын зыщIыжыфын зыри щыIэтэкъым.

ЦIыхухэр зэуэ къэлыбащ.

„Бегъымбару зыкъытщигъэхъуну щIыхэтыр сыт Еремие? - жаIэурэ зэрыгъэкIийрт ахэр. – Абы и жьэр хузэхуэщIын зэрыхуейрэ куэд щIащ!“

Абыхэм зэхахыну хуейтэкъым къемызэгъ куэд зэралэжьым теухуа лъэпкъ.

Къэгубжьа цIыхубэм тIэкIуи къагъэшына щхьэкIэ къимыгъанэрэ тегушхуэныгъэ хэлъу Еремие Израил цIыхухэм епсэлъэн щигъэттэкъым. Тхьэм и унэшхуэм къыщыпсалъэрт, тхылъ пащтыхьым хуригъэхьырт. Ауэ зыри къикIыртэкъым. ИкIэм-икIэжым, пащтыхьым и щхьэхъумэхэр къигъэкIуащ, Еремие иригъэубыду лъэхъуэщым ирыригъэдзэну.

Пащтыхьым и щхьэхъумэхэм Еремие къаубыдри, псыкъуий мащэ игъущыкIыжа гуэрым ирадзащ. Мащэр кIыфIт икIи псыIэт. Иджы Еремие Тхьэм и псалъэхэр зыжриIэн игъуэтыртэкъым иджы.

Ауэ къалэм ныбжьэгъу гуэр щиIэт Еремие. Пащтыхьым деж кIуэри, абы жриIащ:

„ЩIыхь зиIэ ди пащтыхьышхуэ! Псыкъуий мащэм ирадза Еремие къаутIыпщыжыну унафэ щIы. Ди къалэр бийм къаувыхьакIэщ, Еремие шхын щхьэкIэ псыкъуий мащэм илIыхьынущ. Хуит сыщI ар къезгъэлыну".

Пащтыхьым унафэ ищIащ Еремие псыкъуий мащэм кърахыжыну. Кърахыжри, лъэхъуэщым ирадзащ. Ауэ Тхьэм игъэзэщIащ Еремие и жьэкIэ цIыхухэм къажриIа псалъэхэр. Абы мурад ищIащ израил лъэпкъым тезыр ятрилъхьэну.

Арати, бийхэр Ерусалим къыдэужьгъащ. Iэпхълъэпх ящIурэ, абыхэм израил цIыхухэр гъэру Бабилэн яхуащ. Бийхэм къалэр зэтракъутащ, пащтыхь унэшхуэри ягъэсащ. Тхьэм и унэшхуэм щыщуи къэнар мывэ самэшхуэ къудейщ. ЦIыху закъуэтIакъуэт къалэм къыдэнэжар. Мис а закъуэтIакъуэм яхэтт Еремий.

Еремие хуабжьу иринэщхъейрт къэхъуам. И щхьэр къыхуэмыIэту, ар еплъырт зэгуэр дахащэу щыта къалэм. Ар зэхэкъутат икIи нэщIт.

ИтIанэ Еремие игу къэкIыжащ Тхьэм зэгуэр къыжриIауэ щытар:

„Ерусалим зэхакъутэнущ, зэхадыгъуэжынущи, абы дэсу хъуар гъэрыпIэм яхуэнущ. Ауэ къыхэсха си лъэпкъыр сэ жысIэм къедаIуэу щIидзэрэ си унафэм къыщIэувэжмэ, Ерусалим къагъэзэжыну Iэмыр сщIынщ".

Тхьэм къыхиха и лъэпкъыр иджыри фIыуэ илъагъурт. Ауэ щыхъукIэ, гугъапIэ щыIэт иджыри.

Еремие бегъымбарым теухуа хъыбарыр фэ къыщывгъуэтынщ Библием щыщу абы и цIэр зезыхьэ тхылъым.  

 

НЭВУХАДНЭЦАР ПАЩТЫХЬЫМ ДЫЩЭМ  

КЪЫХРИГЪЭЩIЫКIА ТХЬЭ СУРЭТЫР

Нэвухаднэцар пащтыхьым текIуэныгъэшхуэ къихьат. Абы гъэр куэд къришат Израилым, Бабилэн  щигъэлэжьэн мурадкIэ.

Арати, Нэвухаднэцар пащтыхьым гъэрхэр зыIэщIэлъым жриIащ: „КIуэи, Бабилэн  къэсша израил цIыхухэм яхэпсэлъыхь. Къахэх нэхъ щIалэ дахэрэ губзыгъэу зыщыплI, сыт хуэдэ щIэныгъэми хащIыкIыу. Ахэр си пащтыхь бжаблэм дэтынущ".

Гъэрхэр зыIэщIэлъыр кIуэщ, яхэплъыхьри, нэхъ дахэрэ нэхъ къарууфIэу щIалиплI къахихащ. ПлIыми Тхьэр фIыуэ ялъагъурт, абы хуэжыIэщIэуи псэухэт. Ахэр щыгуфIыкIащ зэщIыгъуу зэрыпсэунум.

Ауэ щIалиплIыр иригузавэрт пащтыхьым и бжаблэм дэтыну Бабилэн зэрагъакIуэм.

„Дэ Тхьэм дыхуэлэжьэн хуейщ, - жаIэрт абыхэм. - Ауэ дауэ дызэрыхъунур, ди Тхьэм тшхы мыхъуну жыхуиIа шхыныгъуэкIэ пащтыхь унэшхуэм дыщагъашхэу щIадзэмэ?“

Апхуэдэу щыхъум, ныбжьыщIиплIым языхэзу ДаниелкIэ зэджэм гъэрхэр зыIэщIэлъым деж кIуэри жриIащ:

„Бабилэным фи пащтыхьым и гъэр дыхъуауэ мыбы дыщыпсэу пэтми, дэ дыхуейкъым Израилым ди Тхьэм къытхуигъэув хабзэхэм дытекIыну".

Ди хабзэм дэ къытхуегъэув мыбы щапщэфIа тшхы мыхъуну. ДынолъэIу хадэхэкIрэ псырэ фIэкIа нэгъуэщI шхыныгъуэ къыдэвмытыну. МахуипщIым къриубыдэу мис апхуэдэу щIыи, плъагъунщ узыншэрэ къарууфIэу ди Тхьэм дыкъызэрихъумэр“.

Гъэрхэм я унафэщIым жэуап къритыжащ: „Хъарзынэщ. ТщIынщ апхуэдэу. Ауэ сыфщогугъ губгъэн гуэр къэзвмыгъэхьыну".

Ар жиIэри, хадэхэкIрэ псырэ фIэкIа нэгъуэщI шхын щIалэхэм къаримыту щIидзащ. Махуэ епщIанэр къыщысам, гъэрхэм я унафэщIым щIалиплIыр къызэпиплъыхьащ: пэж дыдэу, плIыри зэрыузыншэт, я къарури щIэкIатэкъым. ИгъэщIагъуэри, абы щIалэхэм моуэ яжриIащ: „Сэ хьэкъсщыхъуащ, и унафэхэр вгъэзащIэмэ, фи Тхьэм инэIэ къызэрыфтетынур“.

Пащтыхь унэшхуэм зэгуэрым къыщыхъуащ абы щIэсхэр хуабжьу зыгъэпIейтея Iуэху. Пащтыхьым пщIыхьэпIэ гуэр илъэгъуат. Арати, зэныбжьэ-гъуиплIым зэхах а пщIыхьэпIэм къикIыр къащIэн хуейуэ пащтыхьым и лIы Iущхэм къалэн зэращищIар. „Си пщIыхьэпIэр зытеухуар сыт, къикIри лIо?“ - жиIэри пащтыхьыр и лIы Iущхэм еупщIащ.

Пащтыхьым и лIы Iущхэр хуабжьу къэшынат.

„А уэ къалэн къытщыпщIыр зыхуэгъэзэщIэн цIыху щыIэкъым, - жэуап къатащ абыхэм.

- Дауэ дэ къызэрытщIэнур уэ пщIыхьэпIэу плъэгъуар зыхуэдэр?“

Бабилэн и пащтыхьыр зэуэ къэлыбри, лIы Iущхэм къахэкIиеу щIидзащ:

„Си пщIыхьэпIэр зыхуэдэр къызжевмыIэмэ, фаукIыну унафэ сщIынщ!“

ЛIы Iущхэр зэщIэкIэзызэу къызэхэнащ, ауэ пащтыхьым жраIэнур ящIэртэкъым. Апхуэдэу щыхъум, Тхьэм Даниел  къыжриIащ Нэвухаднэцар и пщIыхьэпIэр зыхуэдэр икIи Даниел занщIэу пащтыхьым деж кIуащ:

„Сэ ныбжесIэфынущ уи пщIыхьэпIэр зыхуэдэри абы къикIри“, - жиIэри абы пащтыхьым жриIащ и пщIыхьэпIэр зыхуэдэри абы къикIри.

И тхьэкIумэр тегъэхуауэ пащтыхьыр Даниел  къедэIуащ, зэхихамкIи хуабжьу арэзы хъуащ. Мыращ абы жиIар:

„Уэ уи Тхьэр щэджащэщ икIи абы уэ акъылыфIагъэ къыпхилъхьащ. Си пащтыхь сэрейм и лIы Iущ нэхъ пашэу узгъэувыну мурад сщIащ, уи ныбжьэгъухэми къулыкъушхуэ естынущ".

Нэвухаднэцар пащтыхьым ищIэрт Тхьэ пэжым и къарур зэрыинри а Тхьэм Даниел  АкъылыфIагъэ къызэрыхилъхьари. АтIэми, Нэвухаднэцар пащтыхьыр егъэлеяуэ пагэти, езым нэхърэ нэхъ лIы щэджащэ мы дуней псом темыту и гугъэжт.

Нэвухаднэцар зэгуэрым унафэ ищIащ дыщэм тхьэ сурэт къыхагъэжыкIыну. КъыхагъэжыкIа нэужьи унафэ ищIащ тхьэ сурэтыр здагъэувам деж иIэ зэхуэсыпIэм цIыху псори къыщызэхуэсын хуейуэ. ЦIыху куэд щызэхуэсащ абдеж. Бжьамияпщэхэми зыкъагъэхьэзырат я пшыналъэр къызэпащIэну. Нэвухаднэцар унафэ ищIащ:

„Пшыналъэр зэрызэхахыу, цIыхуу хъуам щIым зэхаIубэу щхьэщэ хуащIын хуейщ дыщэ тхьэ сурэтым“.

Гъуор зэхуэсыпIэм къихьэри, пащтыхьым и унафэр псоми ину яжриIащ. „Пшыналъэр зэхиха нэужь, щIым зыхиIубэурэ дыщэ тхьэ сурэтым щхьэщэ хуэзымыщIыр хьэкушхуэм ирадзэнурэ ягъэсынущ" жиIэу хэтт унафэм.

Ауэ Израил щыщ ныбжьыщIэхэм хъарзынэу ящIэрт цIыхум щхьэщэ зыхуищIын хуейр гъащIэр къызыбгъэдэкI Тхьэуэ зэрыщытыр. Даниел  и ныбжьэгъуищым жаIащ:

„Дэ Тхьэр фIыуэ долъагъу, абы къыхэкIыуи дыщэтхьэ сурэтым щхьэщэ хуэтщIынукъым“.

Даниел  и ныбжьэгъухэм дыщэ тхьэ сурэтым щхьэщэ зэрыхуамыщIар щызэхихым, Нэвухаднэцар пащтыхьыр хуабжьу къэгубжьащ:

„Щхьэщэ хуэвмыщIынумэ, жьэражьэу мафIэ зрылъ хьэкум фрадзэнущ", - къажриIащ абы.

„Хэт ищIэрэ, Тхьэм дыкъригъэлынкIэ хъунщ а мафIэм, - жаIащ зэныбжьэгъуищым. - ДыкъримыгъэлынкIи хъунщ. Дауэ хъуами, дэ тхьэ сурэтым щхьэщэ хуэтщIынукъым“.

Нэвухаднэцар пащтыхьыр къэлыбащ: „БлэнейкIэ нэхъ гуащIэу къыщызэщIэвгъанэ хьэкум мафIэр!“ - кIиящ ар.

„ЗэкIуэцIыфпхи, мафIэм хэвдзэ!“ - унафэ ищIащ пащтыхьым.

Хьэкум илъ мафIэр апхуэдизкIэ гуащIэти, щIалэхэр абы хэзыдзэ цIыхухэр езыхэр исащ.

Iуэхушхуэ телъыджэр къыщыхъуар итIанэщ. Нэвухаднэцар пащтыхьым и фэр зэуэ пыкIащ. Ар къыхэкIиикIащ:

„Феплъыт, феплъыт! Дэ мафIэм хэддзар щIалищщ. Мохэр цIыхуиплI хъуащ, зыуи къащымыхъуу къакIухьри мафIэм хэтщ!“

Псоми гъэщIэгъуэныщэ къащыхъуат ялъагъур.

Нэвухаднэцар пащтыхьыр щIалищым елъэIуащ хьэкум къикIыжыну. ЩIалэхэр зэрыщытам хуэдэт, я щIыфи я щыгъыни мафIэр зэран къахуэхъуатэкъым. Ар дэнэ къэна, Iугъуэмэ къудей къыкIэрихыртэкъым я щыгъыным.

Апхуэдэу щыхъум, Навухдоносор пащтыхьым Бабилэн дэсхэм захуигъэзащ:

„Мис иджы сэ хьэкъ сщыхъуащ Израилым и Тхьэр Тхьэ пэжу зэрыщытыр. Мы щIалищыр абы хуэжыIэщIэрти, ажалым къригъэлыну и мелыIычыр къахуигъэкIуащ. Израилым и Тхьэу цIыхухэм гъащIэр езытым нэмыщI нэгъуэщI Тхьэ щыIэкъым“.

Мы хъыбарыр фэ къыщывгъуэтынщ Даниел бегъымбарым теухуа тхылъым и I-3-нэ псалъащхьэхэм.  

 

ДАНИЕЛ БЕГЪЫМБАРЫР АСЛЪЭНХЭР ЗЭРЫС МАЩЭМ ЗЭРЫРАДЗАР

 

Даниел Бабилэн щыпсэурт. Бабилэныр абы и хэкутэкъым, гъэру щыIэу арат. Ауэ акъылыфIагъэ зэрыхэлъым и фIыгъэкIэ ар пащтыхьым езым и чэнджэщэгъуу игъэуващ.

АрщхьэкIэ Даниел щыгугъыртикIи пэплъэр зэгуэр я деж, Ерусалим, зэригъэзэжынум. И пэш цIыкIум здыщIэсым, ар махуэ къэ щэнейрэ Тхьэм елъэIурт.

Ауэрэ, Бабилэныр персхэм яубыдащ зэгуэрым. Бабилэным и тепщэ хъуащ нэгъуэщI пащтыхь - Дарий. Дарий ищIэрт Даниел  хуабжьу зэрылIы Iущыр. Зыгуэрым ечэнджэщын хуей зэрыхъууи, абы Даниел  занщIэу къригъашэрт.

Дарий и пащтыхь сэрейм нэгъуэщI лIы Iущ гуэрхэри щыIэт. Мис ахэр къефыгъуэу щIадзащ Даниел , акъылыфIагъэ зэрыбгъэдэлъыр щалъагъум.

„Дарий хамэ хэку къикIа Даниел щIечэнджэщыр сыт, - жаIэрт абыхэм, - дэ къыдэмычэнджэщу?“

Арати, адрей лIы Iущхэр зэпсэлъылIэну зэIущIащ.

„Мы Даниел  зыгуэр едмыщIэу хъунукъым дэ, - жаIащ абыхэм. - Ауэ сыт къэдгупсысынур, ар ди натIэ идгъэкIын щхьэкIэ?“

„Iуэхушхуэракъэ, Даниел псэ хьэлэл зыIут цIыху пэжщ, ирибгъэкъуэншэфын хуэдэу зыри къуэлъкъым, - жаIащ абыхэм. - Ар зэрыбгъэкъуэншэн щхьэусыгъуэ хуабжьу къэгъуэтыгъуей хъунущ. Девгъауи, Тхьэм хуиIэ лъагъуныгъэр къэдвгъэгъэсэбэп апхуэдэ щхьэусыгъуэу".

КъыкIэлъыкIуэ махуэм лIы Iущхэр пащтыхьым деж кIуащ.

„Мыухыжын гъащIэр Тхьэм зритыну ди пащтыхьышхуэ Дарий, - кърагъэжьащ абыхэм.

- Уэ пащтыхьу дунейм тету хъуам уранэхъ Iущщ. ПлъэмыкIыни щыIэкъым уэ!“ Пащтыхьым игу ирихьащ абыхэм жаIэр.

„Унафэ щхьэ умыщIрэ, - къыпащащ лIы Iущхэм, - махуэ щэщIым къриубыдэу уэр фIэкIа цIыхухэр зыри елъэIуну хуимыту - цIыхуи Тхьэи? Мис итIанэ цIыхухэм къагурыIуэнт уэ лъэкIыныгъэу уиIэр зыхуэдизыр!“

„Ар дэгъуэу къэвгупсысащ, дэгъуэу!“ - жиIэри, унафэм занщIэу Iэ щIидзащ.

Даниел пащтыхь сэрейм щыIэу ирихьэлIащ, гъуор а унафэм къыщеджэм. Унафэ тхылъым зэритымкIэ, хэт, сыт щхьэкIи ирехъу, зыгуэрым елъэIумэ, а лъэIуар аслъэнхэр щаIыгъ мащэм занщIэу ирадзэнущ, абы щызэпкърачын щхьэкIэ.

ЛIы Iущхэм Даниел кIэлъыплъу щIадзащ. И унэм пэгъунэгъубзэу екIуа-лIэхэри, къимылъагъун хуэдэу, абыхэм загъэпщкIуащ. „Ар, шэч лъэпкъ хэмылъу, я Тхьэм елъэIунущ, - жаIэурэ зэхъуцэцащ ахэр. - Мис итIанэ ди натIэ идгъэкIыфынут дэ ар“.

Унэм къэкIуэжа нэужь, Даниел  куэдрэ егупсысащ пащтыхьым щIэуэ къыдигъэкIа унафэм. Зы махуэ дэкIыртэкъым абы Тхьэм фIыщIэ хуимыщIу, къызэрыдэIэпыкъум, гулъытэ къызэрыхуищIым къыхэкIкIэ. Ауэ Тхьэм фIыщIэ хуищI къудейтэкъым абы, щелъэIуи щыIэт.

Пащтыхьым щIэуэ къыдигъэкIа унафэм хуит укъищIыртэкъым Тхьэм уелъэIуэну.

Щхьэгъубжэ зэIудзам бгъэдыхьэри, дапщэщи хуэдэу, Тхьэм елъэIуу щIидзащ абы.

Пабжьэм къыхэтIысхьа лIы Iущхэм щхьэгъубжэмдэплъурэ ялъэгъуащ икIи зэхахащ Даниел Тхьэм фIыщIэ зэрыхуищIыр, зыхуей гуэрхэм щхьэкIи зэрелъэIур. ЛIы Iущхэм дуней гуфIэгъуэр яIэт. Пащтыхьым деж жэри,  жраIащ абы и унафэм Даниел зэребэкъуар.

Дарий пащтыхьым ар хуабжьу и жагъуэ хъуащ. Абы фIыуэ илъагъурт Даниел, Iей лъэпкъ къехъулIэнуи хуейтэкъым.

„Iэ щIэзмыдзыххамэ нэхъыфIти а унафэм, - егупсысащ пащтыхьыр. - Абы сытезыгъэгушхуа цIыхухэр Даниел ефыгъуэу аркъудейщ. Иджы, мис, зэпкърезгъэтхъыну аслъэнхэр зэрыс мащэм ирезгъэдзэн хуей хъуащ ар“.

Дарий текIыж хъунутэкъым езым ищIа унафэм. Iэ щыщIидзым, и цIэращ абы унафэм кIэщIитхар. Пащтыхьым и унафэр якъутэу хабзэтэкъым.

Арати, зауэлIхэм Даниел къаубыдри, аслъэнхэр зэрыс мащэм яшащ. Абыхэм Даниел ыр хурадзыхащ аслъэнхэм.

Ар щызэфIэкIым, пащтыхьым къигъэзэжащ и сэрейм. Иджы абы къыгурыIуэжат а унафэр къызэрыдигъэкIамкIэ делагъэшхуэ зэрищIар. Жэщ псом и нэбдзыпэ хузэтелъхьакъым абы.

„Сыщогугъ Даниел и Тхьэм, езы Даниел зэрыжиIэм хуэдэу, лъэкIыныгъэшхуэ иIэу къыщIэкIыну, - жиIэурэ егупсысырт пащтыхьыр, зигъэкIэрахъуэрэ мыжеифу здыхэлъым. - Хэт ищIэрэ, абы къригъэлынкIи хъунщ ар“.

Нэху зэрыщу, псори жейуэ здыхэлъым, Дарий къэтэджри аслэнхэр зэрыс мащэм кIуащ. ИхъуреягъкIэ щымт.

Мащэм бгъэдыхьэри, ар джащ: „Даниел , зэхэпхрэ жысIэр? Уи Тхьэм укъригъэлыфауэ пIэрэ?“ Дарий пэплъакъым жэуап къратыжыну.

АрщхьэкIэ мыпхуэдэ жэуап зэхихащ: „Зэхызох. Си Тхьэм сыкъригъэлащ сэ. Аслъэнхэм я жьэ къупщхьэхэр зэщIигъанэри, зыри къызамыщIэфу сакъелащ. Тхьэм ещIэ сэ Iей лъэпкъ зэрызмылэжьар“.

Пащтыхьым унафэ къыдигъэкIащ асыхьэтым, Даниел мащэм кърахыжын хуейуэ. Тезыр ятрилъхьащ фыгъуэнэдыгъэм къыхэкIкIэ Даниел  зыгъэкIуэдыну хэта цIыхухэм. Абы и ужькIэ и пащтыхьыгъуэм лъэпкъыу исым я деж унафэ тхылъ иригъэхьащ Дарий:

„Унафэ сощI Даниел и Тхьэм пщIэрэ щIыхьрэ хуэфщIыну, сыту жыпIэмэ ар гъащIэ къызыбгъэдэкI Тхьэ пэжщ, абы и пащтыхьыгъуэми кIэ иIэкъым. Аращ аслъэнхэм зэпкърамытхъыу Даниел къезыгъэлар“.

Мы хъыбарыр фэ къыщывгъуэтынщ Библием щыщу Даниел бегъымбарым и хъыбар зэрыт тхылъым и еханэ псалъащхьэм.
 

  

ПАЩТЫХЬ ГУАЩЭ ЭСТЕР

Сузэ къалэм дэс цIыхухэр Iуэхугъуэ гуэрым хуабжьу игъэпIейтеят зэгуэрым: Персием и пащтыхьым пащтыхь гуащэ къишэн хуейт. Пащтыхь сэрейм къыщызэхуэсат нэхъ хъыджэбз дахэу хэкум ису хъуар. Илъэс псокIэ ахэр хэплъыхьауэ ягъэшхащ, я щIыфэм мэ дахэ къызыкIэрих, щабэ зыщI зэхэлъхьагъэ гуэрхэр щахуэурэ яIыгъащ, нэхъри нэхъ дахэ хъун, тхьэIухудым хуэдэу пащтыхьым и пащхьэм ихьэн хуэдэу.

Пащтыхь сэрейм къагъэкIуа а хъыджэбзхэм языхэзым и цIэр Эстерт. Эстер журтт. Ар цIыкIунитIэу и анэ-адэр лIэри, зеиншэу къыщынэм, Мардохай жаIэри и адэ къуэшым ипIыжат.

„Уэ апхуэдизкIэ удахэщи, си хъыджэбз, пащтыхьым укъызэрыхихынум шэч къытесхьэркъым, - жриIащ Мардохай абы, пащтыхь унэм щишэнум щыгъуэ. - Ауэ пащтыхьым къыумыгъащIэ узэрыжуртыр. Мис ар ущэху".

Арати, Эстер и адэ къуэшым къызэрыжриIа дыдэм хуэдэу ищIащ - и щэхур зыми жриIакъым. Ауэрэ пащтыхь гуащэр къыщыхахыну махуэри къэсащ. Къэсри, пащтыхь Ахашверуш Эстер къыхихащ, сыту жыпIэмэ ар псом нэхърэ нэхъ дахэт. Пащтыхьым хьэгъуэлIыгъуэшхуэ ирищIэкIащ пащтыхь гуащэм, пащтыхьым зэрыхуэфэщэнкIи тыгъэ лъапIэхэр зэбгри-тыкIащ.

Эстер пащтыхь сэрейм щыпсэууэ щIидзащ. И гъащIэм апхуэдэу зыкъызэрыридзэкIам ар хуабжьу иригуфIэрт икIи арэзыт. Абы и адэ къуэш Мардохай пащтыхь сэрейм щыпсэурт икIи Эстер пащтыхь сэрейм щекIуэкI псори къыжриIэжт.

Мардохей зыгуэрым хуабжьу иригузавэу Эстер деж щIыхьащ.

„Си тхьэкIумэм къызэриIуамкIэ, - жриIащ абы Эстер, - лIитI зэгурыIуауэ пащтыхьыр яукIыну хэтщ".

Эстер ар Ахашверуш жриIэжащ икIи пащтыхьыр зыукIыну хэта лIитIыр езыхэр яукIащ.

Апхуэдэу щыхъум, пащтыхьым унафэ ищIащ, ажалым къезыгъэлауэ щытар щымыгъупщэжын щхьэкIэ, къэхъу Iуэхугъуэхэр махуэ къэс зратхэ тхылъым Мардохай и цIэр иратхэну.

Илъэс зыбжанэ 6лэкIащ абы и ужькIэ. А зэманым къриубыдэу Ахашверуш пащтыхьым и нэфI зыщыхуа лIы гуэр иIэтурэ, пщы псоми нэхърэ нэхъ къулыкъушхуэ иритащ. Хьамант абы и цIэр. Хьаман хуабжьу пагэт икIи къан-лыт. Хьаман къалэм дэту е пащтыхь сэрейм къегъэкIэкIа жыг хадэм хэту къыщикIухьым деж псоми загъэщхъыу щхьэщэ къыхуащIын хуейт.

Мардохай и закъуэт абы щхьэщэ къыхуэзымыщIыр.

„Сэ зызыхуэзгъэщхъыу щыIэр Тхьэм и закъуэщ, - жиIащ Мардохай. - Сэ Хьаман зыхуэзгъэщхъыфынукъым“. Арати, Хьаман гужьгъэжь къыхуиIэ хъуащ абы.

Апхуэдэу екIуэкIыурэ, Хьаман мурад бзаджэ ищIащ - Мардохай иукIыну. Абы и мызакъуэу, персхэм я къэралыгъуэм журту исыр зэтриукIэну игу ирилъхьащ. Игу ирилъхьэщ, пащтыхьым деж кIуэри, моуэ жриIащ: „Уи къэралыгъуэм дэнэкIи щыхэпхъауэ щопсэу дэ къытщхьэ-щыкIыу лъэпкъгуэр. Абыхэм ягъэзащIэркъым ди хэкум щыхабзэхэр икIи сэ, уи чэнджэщэгъу нэхъыщхьэу сыщытыр пэжмэ, а лъэпкъыр ди натIэ ибгъэкIыну чэнджэщ узот".

Хьаман цIыху бзаджэти, журтхэр я натIэ иригъэкIыну арэзы хъуху, пащтыхьым къыкIэрыкIакъым. Арати, щымыхъужым, Ахашверуш пащтыхьым унафэ къыдигъэкIащ журту хъуар щаукIыну махуэр иту.

Пащтыхьым апхуэдэ унафэ зэрищIар щызэхихым, Мардохай абы хуабжьу иринэщхъеящ. Эстер деж кIуэри, къэхъуар абы хуиIуэтащ итIанэ.

„А псор къыщIэхъуар Хьаман и зэранщ, - жиIащ Мардохай. - Уэ журтхэм уазэрыщыщыр ищIамэ, ар апхуэдэ Iуэхум тегушхуэнутэкъым. Пащтыхьым жепIэу уи лъэпкъыр къыумыгъэлу хъунукъым уэ, Эстер“.

„АрщхьэкIэ сэ пащтыхьым деж сыкIуэну сыщыхуитыр, ар езыр къыщызэ-джэм дежщ, - жиIэри жэуап къитащ пащтыхь гуащэ Эстер. – Къызэмыджауэ пащтыхьым деж сыкIуэмэ, сэри сригъэукIынкIэ хъунущ абы. Сэ сыкIуэнщ, ауэ цIыхухэр Тхьэм схуелъэIуну яжеIэ“.

„ДелъэIунщ, псори Тхьэм дыпхуелъэIунщ, - жиIащ Мардохай. - Хэт ищIэрэ, Тхьэм Персием и пащтыхь гуащэ ущIищIар арагъэнкIи мэхъу: уи лъэпкъыр къебгъэлын щхьэкIэ".

Арати, Эстер пащтыхьым и хэщIапIэм кIуащ. Абы къыгурыIуэрт а ищIэр пащтыхь сэрейм щекIуэкI хабзэхэм къызэремызэгъыр. АрщхьэкIэ, пащтыхьыр нэжэгужэу къыщыIущIэм, Эстер къэгуфIэжащ.

„Сытыт узыхуейр, Эстер?“ - къеупщIащ абы пащтыхьыр.

„Уэр щхьэкIэ ефэ-ешхэ сощIри, унезгъэблэгъэну арат. Хьамани пщIыгъуу накIуэ“.

Арати, Ахашверуш, Хьаман зыщIигъури, Эстер ищIа ефэ-ешхэм кIуащ. Зипэ-зипэкIэ темылъ щымыIэу Iэнэ къыхуащтащ абыхэм. Пащтыхь гуащэм къы-зэрыригъэблэгъар хуабжьу и гуапэ хъуат Хьамани.

Ефэ-ешхэр зэфIэкIа нэужь, Ахашверуш и хэщIапIэм кIуэжащ. АрщхьэкIэ и жеин къакIуэртэкъым. ЗигъэкIэрахъуэрэ и нэбдзыпэ хузэтемылъхьэу зыкъомрэ хэлъащ. Апхуэдэу здэщылъым, Ахашверуш къеджэну къищтащ къэхъукъащIэхэр махуэ къэс зратхэ тхылъыр икIи занщIэу и нэр хуэзащ пащтыхьыр яукIыну лIитIым унафэ зэращIам, ар Мардохай къищIэу пащтыхьым зэрыхуиIуэтауэ щытам теухуа хъыбарым.

„Абы щыгъуэ Мардохай зыгуэркIэ сыхуэупсэжауэ щыта?“ - жиIэри пащтыхьыр и унэIутым еупщIащ.

„Хьэуэ,“ - жиIэри унэIутым жэуап къитыжащ.

Нэху къызэрекI нэхъ пIалъэ имыIэу, Ахашверуш пащтыхьым Мардохай тыгъэ хуищIащ дыщэ IуданэкIэ дауэ шылэм къыхэщIыкIа щыгъыныгъуэ лъапIэхэр, шы бэлыхь. Абы и закъуэ - Ахашверуш Хьаман унафэ хуищIащ Мардохай и шы IумпIэр иIыгъыу къалэкум иIэ зэхуэсыпIэм мыпхуэдэу жиIэурэ къыщришэкIыну:

„Феплъ пащтыхьыр пэжыгъэкIэкъыхуэлажьэм зэрыхуэупсэм!“

КъыкIэлъыкIуэ пщыхьэщхьэми Ахашверушрэ Хьаманрэ Эстер деж къэкIуащ.

„Сэ уэ тыгъэ пхуэсщIыну сыхуейщ, - жриIащ пащтыхьым Эстер. - Узыхуей дыдэмкIэ къызэлъэIу".

Эстер къэшынэри кIэзызащ. Абы къыгурыIуащ мис иджыпсту журтхэм къащхьэщыжын зэрыхуейр.

КъыгурыIуэри, Ахашверуш мыпхуэдэу жриIащ:

„Зы Iуэхугъуэ закъуэкIэ сынолъэIунут. Сэ сыжуртщ. ИкIи сынолъэIу журту хъуар ебгъэукIыну пщIа унафэр пкъутэжыну".

„Апхуэдэ унафэ мыхъумыщIэ къыдэзгъэкIыну сытезыгъэгушхуар хэту пIэрэт сэ?“ - жиIэри къыхэкIиикIащ пащтыхьыр.

„Мисыр утезыгъэгушхуар“, - жиIэри Эстер и Iэр Хьаман хуишиящ.

Пащтыхьыр губжьауэ Хьаман хуеплъэкIащ. Хьаман къэшынэри, щIэпхъуэжыну щыхуежьэм, пащтыхьым и щхьэхъумэхэм зэщIаубыдащ.

„Мыбы си щхьэгъусэри, Мардохеи, журт лъэпкъри иукIыну хэтащ, - жиIэри губжьауэ кIиящ пащтыхьыр. - НтIэ, мис абыхэм ярищIэну зыхэта дыдэр езым къылърес иджы!“

Арати, Мардохай, Хьаман и пIэкIэ, пащтыхьым и чэнджэщэгъу нэхъыщхьэу ягъэуващ. АкъылыфIагъэ хэлърэ IуэхуфIхэр кърикIуэу апхуэдэ чэнджэщщ абы сытым дежи пащтыхьым иритахэр. Персием щыпсэу журтхэр иджы щIэшынэн лъэпкъ щыIэтэкъым.

Эстер хуабжьу иригуфIэжырт гъащIэ къызыбгъэдэкI Тхьэм фIэщхъуныгъэ зэрыхуиIэм, и Iуэхур хэплъэгъуэ щыхъуам щыгъуэ Тхьэр къызэрыдэIэпыкъуам, журт лъэпкъыр къригъэлыну зэрылъигъэкIам. Абы пэкIуэу, Эстер махуэ къэс Тхьэм фIыщIэ хуищIащ.

Мы хъыбарым зэрыщыту фыкъеджэну фыхуеймэ, фэ ар къыщывгъуэтынщ пащтыхь гуащэ Эстер теухуауэ Библием хыхьэ тхылъым.



НЭХЬЭМИЕ БЕГЪЫМБАРЫМ И МАХУЭШХУЭР
 

Нэхьэмие хамэщI щыпсэурт. Илъэс куэдкIэ узэIэбэкIыжмэ, Израил щыщ нэгъуэщI цIыху куэдым ящIыгъуу абы и унагъуэри Бабилэн пащтыхьым и дзэм гъэр ящIри мыбы къахуат. Абы и ужькIэ Бабилэн езыр персхэм яубыдри, абы и фIыгъэкIэ израил цIыху куэдым я хэку ягъэзэ-жащ. АрщхьэкIэ Нэхьэмие къыщынат Бабилэным.

Нэхьэмие Сузэдэт пащтыхь унэм щылажьэрт. Санэигъахъуэу пащтыхьым иIэтар. Санэигъахъуэр - абы щыгъуэ пщIэ зыхуащI къулыкъут.

Нэхьэмие хуабжьу къыхуэзэшырт и хэкум. Абы ищIэжырт, бийхэм зэхакъутэн ипэ, Ерусалим дахащэу зэрыщытар. Сыту насыпыфIэт израил цIыхухэр, я хэку исыжу щыпсэуам!

Апхуэдэу екIуэкIыурэ, Нэхьэмие хуейуэ пащтыхь унэм зэгуэрым къэкIуащ абы и къуэшымрэ нэгъуэщI израил цIыху зыбжанэрэ.

„Сыт щыхъыбар ди хэкум? - щIэупщIащ Нэхьэмие. - Нэзыгъэзэжахэм зэрагъэпэщыжакъэ Ерусалим?“

АрщхьэкIэ къэкIуахэм хъыбар мыщхьэпэт Нэхьэмие къыхуахьар:

„Хьэуэ, - жаIащ абыхэм, - Ерусалим нобэр къыздэсым зэрызэтещэхауэ щытщ. Къалэ блынри куэбжэхэри зэхакъутащ“.

Апхуэдэу щыхъум, Нэхьэмие Тхьэм лъэIукIэ зыхуигъэзащ:

„Ди Тхьэу Тхьэшхуэ, - лъаIуэрт ар, - уэ сытым дежи 6гъэзащIэу щытащ уи лъэпкъым епта псалъэр. Ауэ уи унафэм дыкъыщIэкIщ, уи псалъэр дымыгъэзащIэу щIэддзэри, иджы, мис, гъэру хамэщIым дыкъыщыщIидзыжащ. Си лъэIур зэхэхи, ди хэку дгъэзэжыну Iэмыр щIы, ди Тхьэ!“

ИгукIэ Тхьэм елъэIуурэ, Нэхьэмие и Iуэху и ужь ихьэжащ. Санэ къищтэри, пащтыхьым деж щIихьауэ Iэнэм щыхутригъэувэм, модрейр къеплъащ Нэхьэмие.

„Мыр сыту хуабжьу узэхэуа? - жиIащ пащтыхьым. - КъыпщыщIаIа?“

Зэрынэщхъейр пащтыхьым игу иримыхьауэ къыщыхъури, Нэхьэмие жиIащ:

„Си гум 6ампIэ телъщ, а бампIэр сэ сщхьэщызыхыфыни щыIэкъым. Сэ къызэрызжаIамкIэ, Ерусалим зэрызэхэкъутауэ нобэр къыздэсым щытщ, а Iуэхум иригузави щыIэкъым“.

„СыткIэ сыбдэIэпыкъуфыну-тIэ сэ?“ - къеупщIащ пащтыхьыр Нэхьэмие. „Хуит сыщI Ерусалим згъэзэжу къалэр зэфIэзгъэувэжыну," - елъэIуащ абы Нэхьэмие.

КъыщелъэIум, пащтыхьым Нэхьэмие Ерусалим кIуэжыну хуит ищIащ. Куэдрэ епсэлъылIащ ар Нэхьэмие Ерусалим зэфIэбгъэувэжын щхьэкIэ зэману ихьынумрэ ехьэлIэн хуейхэмрэ теухуауэ. ИтIанэ Нэхьэмие кIуэжащ и унэм.

„Тхьэм си лъэIур зэхихащ", - гуфIэрт Нэхьэмие.

Нэху къызэрекIыу, ар, и ныбжьэгъухэр зыщIигъури, гъуэгу техьащ. Гъуэ-гуанэр кIыхьт икIи шынагъуэт. Сытми, зэгуэр Ерусалим нэсыжащ ахэр. Нэсыжхэри, къалэм дэплъэмэ, ялъэгъуар гухэщIт. КIыфI хъуа нэужь, и ныбжьэгъу зыбжанэ щIыгъуу, Нэхьэмие къалэм и хъуреягъыр къикIухьащ. „Сыту лэжьыгъэшхуэ къытпэщылъ“, - жаIащ абыхэм.

КъыкIэлъыкIуэмахуэм Нэхьэмие цIыхубэм захуигъэзащ: „Тхьэр хуейщ ди къалэр зэфIэдгъэувэжыну. Ари къыддэIэпыкъунущ дэ“.

Израил цIыхухэм гуфIэжу къыдаIыгъащ абы жиIар. ИтIанэ гуп-гупурэ загуэшащ абыхэм - къалэм щыщу здэщыпсэу щIыпIэм елъытауэ. Дэтхэнэ гупми и къалэнт къалэм щыщу а щыпсэу Iыхьэр зэфIигъэ-увэжыну.

Израил цIыхухэм къалэ блыныр зэтралъхьэжу щалъагъум, я бийхэм ауан къащIу щIадзащ:

„Догуэ, а къалэ блыныр зэтефлъхьэжыфын фи гугъэу ара иджы фэ?! - жаIэурэ къэкIийрт ахэр. - ИгъащIэкIэ блын быдэ фхуэщIынукъым фэ. Зы бажэ дэлъеймэ, зэрыблыну къызэтещэхэжынущ!“

АрщхьэкIэ, лъагэрэ быдэ хъужауэ, блыныр къращIэкIыу щалъагъум, бийхэр къызэрыгъэгубжьащ. Къызэрыгъэгубжьри, израил лъэпкъым и бийхэм аргуэру мурад ящIащ Ерусалим и блынхэр зэхакъутэну. Нэхьэмиерэ и акъылэгъухэмрэ сакъ зэпытт, бэлэрыгъауэ бийр къатемыуэн щхьэкIэ. Абы къыхэкIыуи, блыным елэжьхэр елэжьырт, емылэжьхэр плъырыпIэм щытт. Езы ухуакIуэ дыдэхэми япщIэхэлът джатэ.

Къалэ блыныр зэтралъхьэжа, куэбжэхэр халъхьэжа, къалэм лэжьыгъэу дэлъыр яуха нэужь, Ерусалим къедза щIыпIэхэм Израил цIыхуу щыпсэууэ хъуар Нэхьэмие къригъэблэгъащ.

ИтIанэ Нэхьэмие дин пашэ Ездрэ жриIащ Тхьэм и унафэхэр зэрыт тхылъым щыщ цIыхухэм къахуеджэну.

Арати, дин пашэр лъагапIэм къытеувэри Тхьэм цIыхухэм унафэ къахуищIахэм къеджэу щIидзащ. Тхьэм и унафэхэм едаIуэурэ, цIыхухэм я гум къихьащ Тхьэм хуаIэ хъуа арэзыныгъэр. Псори хуабжьу хущIегъуэжащ Тхьэм хуэжыIэщIэ зэпыту зэрыщымытам.

„Дауэрэ хъуми, ди къалэр къэдгъэбыдыхьащ иджы, - жиIащ Нэхьэмие. - Мис иджы Тхьэм щIыхьышхуэ щыхуэтщIыфынущ езым и Тхьэ унэшхуэм“.

Арати, дапхъэхэм теувэурэ израил цIыху псори зэкIэлъхьэужьу къалэ блы-ным и щхьэм дэкIуэящ. Ахэр бжьэмийхэм епщэрт, къалэ блыным теувауэ къраш уэрэд макъыр жыжьэ нэIусырт. Бий псоми зэхахырт израил цIыхухэм я Тхьэм щIыхьышхуэ зэрыхуащIыр.

Тхьэм къажриIэ зэпыту щытащ и лъэпкъым: Тхьэм и унафэм зэрыщIэкIыу гъэрыпIэм ихуэнущ. Аращ къащыщIауэ щытари.

Ауэ Тхьэм цIыхухэр къигъэгугъауэ щытащ: Гуэныхьу ящIам хущIегъуэжурэ Тхьэр фIыуэ ялъагъуу, абы хуэжыIэщIэу щIадзэжмэ,  Тхьэм Iэмыр ищIынущ абыхэм Ерусалим къагъэзэжыну.

ИкIи, мис, Тхьэм цIыхухэм къарита гугъапIэр зэщIащ - израил цIыхухэм къагъэзэжащ я хэкум, Ерусалим. Къалэ блыным тету цIыхухэр кIуэрт, и псалъэр зэригъэпэжам щхьэкIэ Тхьэм фIыщIэ хуащIу.

  

Мы хъыбарымфыкъеджэну фыхуеймэ, ар къыщывгъуэтынущ Библием щыщу Нэхьэмие бегъымбарым и хъыбар зэрыт тхылъым.  

 

ИНУС БЕГЪЫМБАРЫР

Пасэм щыгъуэ ИнускIэ еджэу лIы гуэр псэуащ. Инус бегъымбарт. Ар Тхьэм къыхихат, зыхуейхэр абы и жьэкIэ цIыхухэм яжриIэну.

Тхьэм Инус жриIащ зэгуэрым:

„Сэ сыхуейщ уэ Ниневие укIуэну. Ар къалэшхуэ гуэрщ. Абы дэсхэм мыпхуэдэу яжеIэ: абыхэм ялэжь щIэпхъаджагъэхэр щагъэту я гуэныхьхэм яхущIемыгъуэжмэ, сэ абыхэм я къалэр зэтескъутэнущ".

Ниневие дэсхэр израил цIыхухэм я бийт. Инус хуейт Тхьэм Ниневие дэсхэр  игъэпшынэжыну, абы къыхэкIыуи а къалэм мыкIуэмэ, нэхъ къищтэрт.

„Сэ сощIэ ар итIанэ зэрыхъунур, - егупсысащ Инус. - Япэми зэкъым, тIэукъым апхуэдэ къызэрыхъуар. Апхуэдэ хъыбар Iей яхуэсхьрэ сахыхьэмэ, цIыхухэр занщIэу гужьеинущ. Гужьеинурэ, Тхьэм жраIэнущ: „Дэ длэжа щIэпхъаджагъэхэм дыхущIегъуэжащ, къытхуэгъэгъу". Тхьэм гущIэгъу хэлъщ, абы къыхэкIыуи, ялэжьахэр яхуигъэгъунущ. Сэ сызыхуейр Тхьэм Ниневие цIыхухэм яригъэпшыныжыну аращ".

Абы къыхэкIыуи, Инус, Ниневие мыкIуэу, нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ иунэтIащ.

Инусми хуейт Тхьэми Ниневие цIыхухэми яIэщIэкIыну. Тенджыз Iуфэм екIуалIэри, ар елъэIуащ кхъухьым ирагъэтIысхьэну.

Кхъухьыр тенджызым техьа нэужь, Инус, и гур псэхужауэ, егупсысащ мыпхуэдэу: „

Мы кхъухьым сыкъыщитIысхьэм зыри щыжимыIакIэ, Тхьэм мы сщIэр фIэкъабылщ. Иджы, мис, сэ Тхьэми Ниневие къалэми сапэжыжьэщ".

Ауэ куэд дэмыкIыу борэн къэхъури, тенджызыр узижэгъуэн и махуэу къэукъубеящ. Кхъухьыр, шхиипэ цIыкIу фIэкIа умыщIэну, хыуалъэ домбейхэм зэрадзэрт. Хысыджхэр апхуэдизкIэ ину кхъухь джабэм къыжьэхэуэрти, ахэр здэкIуэн хуеям хуабжьу пэжыжьэу Iуихырт.

Кхъухьыр зыхухэр шынэщати, Iэпэлъапэсыс хъуауэ, зыри яхуэщIэжыр-тэкъым. Арати, цIыхухэм хьэкъ ящыхъуащ ахэр мыбы зэрыхэкIуэдэнур. Апхуэдэу щыхъум, Инус кхъухь лъащIэ пэшым щIыхьэри, жеину гъуэлъащ: „ФIыуэ сыжейуэ сыкъэушыжыху, тенджызри мамыр хъужынщ" - егупсысащ ар.

Инус жея къудейуэ, кхъухьыр зыхухэм я пашэр къэсри, къигъэушащ.

„Мы борэнышхуэм дауэ ухэжеикIыфрэ?! - къэкIиящ ар. - Ди кхъухьыр щIотIысыкI.

Къэтэджи, елъэIу уи Тхьэм!“

Инус къыгурыIуэжащ Тхьэм IэщIэкIыну ищIа мурадыр зэрыделагъэр икIи абызыри къызэримыкIынур.

„Ар зи зэраныр сэращ, - жриIащ абы кхъухь пашэм. - Си Тхьэм борэн къыдищIэкIауэ аращ дэ, сыкъигъэувыIэн щхьэкIэ. Сэ сыхэтащ абы сыIэщIэкIыну. Сыкъафщтэ, тенджызым сыхэвдзи, мис итIанэ занщIэу борэныр увыIэжынущ".

Кхъухь пашэр къэшынащ. Ар хуейтэкъым икIи тегушхуэртэкъым Инус псым хидзэу иригъэтхьэлэну. Ауэ Инус ищIэрт а зы Iэмалым фIэкIа борэныр къызэрыбгъэувыIэфын зэрыщымыIэр.

Сытми, кхъухьым исхэр тегушхуэри, тенджыз къэукъубеям Инус хадзащ. Зэрыхадзэххэуи, увыIэжащ борэныр. УвыIэжри, дыгъэр къыщIэкIыжащ. Апхуэдэу щыхъум, кхъухь пашэми кхъухьым ис адрейхэми жаIащ: „Инус и Тхьэр къаруушхуэ зиIэ Тхьэщ. Тенджыз къэукъубеяри къыхуожыIэщIэ абы“.

Ауэ абыхэм зыри хащIыкIыртэкъым Тхьэм бдзэжьеишхуэ къриутIыпщу Инус зэрыригъэлъэтэхам.

Бдзэжьеишхуэм и кIуэцIым ис Инус шынгъуэм зэщIиубыдат. ИхъуреягъкIэ кIыфIыгъэрэ цIынагъэрэт. Арати, Инус гухэщIу Тхьэм еджащ:

„Ди Зиусхьэн! Сэ уэ зыпхузогъазэ гузэвэгъуэр стелъу бдзэжьеишхуэм и кIуэцIым сыздисым. ГущIэгъу кьысхуэщI. Мис иджы сэ фIы дыдэу къызгурыIуэжащ, уи унафэм сыщIэкIыну сыщыхуежьам, делагъэ зэрысщIар“.

Ауэ Инус жэщищрэ махуищкIэ исын хуей хъуащ бдзэжьеишхуэм и кIуэцIым. ИтIанэ, Инус тенджыз Iуфэм къытехуэу къызыжьэдидзыжри, бдзэжьеишхуэр тенджыз лъащIэм ехыжащ.

Тхьэм етIуанэуи зыкъыхуигъэзащ Инус: „Къэтэдж, Ниневие кIуэи, абы щыпеэухэм яжеIэ сэ 6жесIахэр“.

Ар щызэхихым, Инус къэтэджщ, Ниневие кIуэри, цIыхухэм яжриIэну Тхьэм унафэ хуищIар яжриIащ.

Инус Ниневие дэсхэм яжриIащ ялэжь Iуэху фIейхэм щхьэкIэ Тхьэм и ней абыхэм къазэрытехуар, мыхъумыщIэ псэукIэр щагъэту я гуэныхьхэм хущIемыгъуэжмэ, кIуэдыкIейр къазэрыхуигъэкIуэнур.

Ниневие цIыхухэм абы жиIэр хьэкъ ящыхъури, ялэжьа щIэпхъаджагъэхэм хущIегъуэжащ. Абыхэм Тхьэм зыхуагъэзащ, къахуигъэгъуну елъэIуу.

Арати, Инус зэригугъа дыдэм хуэдэу Iуэхур хъуащ. Тхьэм гущIэгъу къахуищIри, имыгъэпшынэжу Ниневие цIыхухэр къигъэнащ. Мис ар и жагъуэ дыдэ хъуащ Инус. Къалэм къыдэкIри, зигъэпсэхуну зыщIыпIэ деж щетIысэхащ ар. Хуабэвэхти, Тхьэм и унафэкIэ асыхьэтым къэкIа жыг цIыкIум и жьауэм Инус дыгъэ бзий гуащIэм щихъумэрт. Абы иригуфIэрэ жьауэм щIэсу Инус зигъэпсэхурт.

КъыкIэлъыкIуэ махуэм Тхьэм иунафэкIэ жыг цIыкIур гъужащ. Дыгъэ гуащIэм зэрызыщихъумэн иIэжтэкъым Инус. Ар хэст хуабэм, и щхьэр зэрихьэрэ гузэвэгъуэр телъу. Тхьэр къеупщIащ абы:

„Сыт уэ апхуэдизу уи жагъуэ хъуауэ ущIэгумэщIыр?“

Инус жэуап къитащ: „Си жагъуэ хъуащ жыг цIыкIур зэрыгъужар. Адрейуэ, хуабжьу си жагъуэ хъуащ Ниневие къалэм уэ гущIэгъу зэрыхуэпщIар“.

Тхьэм Инус жриIащ итIанэ: „Мы къэкIыгъэр къэзыгъэщIар сэращ. Сэращ Ниневие цIыхухэри къэзыгъэщIар. НтIэ, уэ хыумыса жыгыр зэрыгъужар уи жагъуэ щыхъуакIэ, сэ къэзгъэщIа цIыхухэм кIуэдыкIейр къахуэкIуамэ, сытым хуэдизут си жагъуэ хъун зэрыхуейр? Уэ уи жагъуэ лъэпкъ щIэпщIын щыIэкъым а цIыхухэр зэрыпсэури, сэ тыгъэ яхуэсщIа дуней гъащIэм зэрыригуфIэри“.

Инус теухуа  хъыбарыр къыщывгъуэтынущ Библием щыщу абы и цIэр зезыхьэ тхылъым.