...................
...................
ADİGE ATASÖZLERİ  -1
1. Bölüm / Еянэ Пычыгъуэ
lУЭХУГЪУЭ ЗЭМЫЛlЭУЖЬЫГЪУЭХЭМ ЯТЕПСЭЛЪЫХЬ, КЪИНЭМЫЩl ПСАЛЪЭЖЬХЭР

КЪЭРДЭНГЪУЩI Зырамыкущ
Hazırlayan, Tercüme eden: KHUMIKH Vehbi Kovulmaz

                         
...................
...................

●Абрамывэ вагъэгъэкlуэдщ.●      

●Адакъэрэ пэт джэджьер егъашхэ.●

●Адыгэр уэшщ, урысыр пхъэпсщ.●

●Адыгэшрэ лlы бэшэчрэ.●

●Алыхьыр ещlэ, ящllамэ ешх. (Мылажьэу шхэм ауаныщlу хужаlэ.)●

●Апреым (мэлыжьыхьым) и бгъум гуахъуэр пкlэм драдзеиж.●

●Апрелым (мэлыжьыхьым) и блым мэкъу lэмбатибл хуэгъэтылъ. ●

Аргъынэ кlыхьыр и жагъуэщ. шынакъ кlы гъуанэр и щlасэщ.●

●Аргъуейр пхъэlэщэм щlэщlа вы бжьакъуэм тести «довэ» жиlащ.●

●Армум хиса жыгыр мэгъу.●

●Армур мэз кlуэмэ, арэфым жьитl гуэту къешэ.●

Бавэ нэхърэ бэв.●

Баlуэ нэхърэ бащlэ. (Куэд жызыlэ нэхърэ куэд зылэжь, жыхуиlэщ.)●

Бэр зэщlэхъаемэ, щlыр къагъэхъей.●

Бжьэ зыдэсым фо дещlэ.●

Бжьыхьэ бейщ.●

Бзурэ пэт абгъуэ ещl.●

Былымыр икlи хъугъуейщ, икlи хъумэгъуейщ. (Хъугъуейщ -  къэгъуэтыгъуейщ)●

Вы зимыlэм шкlэ щlещlэ.●

Выгъашхэрэ пэт пхъэ къешэ.●

Выгъашхэри зобзеиж. (Зы lуэху гуэр зымыщlапхъэ щыlэкъым, жыхуиlэщ.)●

●Выжь и мэхуапщlэ выщlэ и уасэщ.●

●Выр жьы хумэ, шкlэм хаутlыпщхьэж.●

●Гуащэтешэрэ пэт унэ епхъэнкl.●

●Гуэн нэщl нэхърэ хадэ нэщl.●

●Гуэн нэщl щыlэщи, хадэ нэщl щыlэкъым.●

●Гуэн щхьэкlэ, нэщlщ, жьыщlа щхьэкlэ, фlейщ.●

●Гур щыкъутэм щащlыж.●

●Гъатхэ дыгъэм кlагъуэскlэ уегъэскlри,

бжьыхьэ дыгъэм тхъупс къыптрекlэ.●

●Гъатхэ уафэр гъуанэщ.●

●Гъатхэ унэ гъуанэщ.●

●Гъэ мэкъумэш пэтрэ яух.●

●Гъэм и зы махуэм щlымахуэм уегъашхэ.●

●Гъэмахуэм гупкlэ жьауэри унэщ.●

●Гъэмахуэм къыумылэжьа щlымахуэм бгъуэтыжыркъым.●

●Гъэмахуэм lэжьэ щlыи, щlымахуэм гу щlы.●

●Гъэфlым умыгъуэта гъейм бгъуэтыжыркъым.●

●Гъей нэхърэ пщей.●

●Гъуагъэми гъущэу. (Мэкъумэш къехьэлlэжьыгъуэу уэшх щыхуэмей зэманым жаlэ)●

Дыгъэр къепс щхьэкlэ, лъыпсыр къыпож.●

●Дыжэф пцlанэ хъуркъым.●

●Дышэр и lэм къыпощ.●

●Дзыгъуэ пэтрэ щlымахуэм хуогъэтlылъэ.●

●Дзыгъуибгъу зэдеlэмэ, кхъуей кlадащхьэ трач.●

●Емызэш мэшыбэ ещlэ.●

●Емыкъум еплъи дэзышым еуэ.●

●Емыса лэгъупэжь хъуркъым.●

●Жэм къэшэхуи вы шэхун хэкlыж. (Ар лъхуэнщи вы хъун къилъхунщ, жыхуиlэщ.)●

●Жэмым ишх и гъэшщ.●

●Жыхафэр щхьэцыпэкlэ епхъэнкl. (Зи псэ емыблэжу унагъуэм lуэху щызыщlэ нысэм хужаlэ.)●

●Жэщырыдэ махуэрыдыхьэшх. (lуэхур щимычэзум зылэжьым ауаныщlу хужаlэ.)●

●Жылэр зыгъашхэр шхын щхьэкlэ малlэ. (Зи гугъу ищlыр пщафlэрщ.)●

●Зэдэпщlэ щlэхщи, зэдэшхэ lэфlщ.●

●Зэхэшэ шэбэщ.●

●Зэхьэзэхуэ мэунэри зэижитl мэунэхъу.●

●Зэшыбэ бэхьщ.(Зэкъуэш куэдым куэд къалэжь, жыхуиlэщ.)●

●Зи бэ пщlэм уриlэзэщ.●

●Зы гъэм шкlэщ, етуанэм жэмщ.●

●Зы махуавэр зы махуэшхкъым.●

●Зы тхьэрыкъуэф lэнэ зэдытешхыкlащ.

(Губгъуэм зэдитащ, щызэдэлэжьащ, жыхуиlэщ.)●

●Зыбзым пабжьэм хедзэри зыдым къыхехыж.●

●Зыгъалlи къакlуэ жаlакъым. (Щичэзум лажьэ, щичэзуми зыгъэпсэху, жыхуиlэщ.)●

●Зымышхыжын и мэкъумэш щlэкlэщ.●

●Зымыщlэм щlакlэ и lусщ.●

●Зыщl нэхърэ еплъ нэгъ lэзэщ.●

●И гуащlэ хьэпlацlэм яхуехъумэ. (Гугъу зезымыгъэхьым ирегиеу хужаlэ.)●

●И хъер мащlэм, и гумэщl бэщ. (Хъер мащlэ фlэкl къызыпымыкlыу гуащlэ куэд зытекlуадэ lуэхум хужаlэ.)●

●Илъэс lуэху къэщтэжыгъуейщ.●

●Къэкlуэгъуафlэ кlуэжыгъуафlэщ  (Гугъуехьыншэу къыпхэхъуар кlуэдыжыгъуафlэщ, жыхуиlэщ.)●

●Къэкlуэгъуэ джадэ нэхърэ кlуэжыгъуэ джадэ.●

●Къэт кlыхь, къэхь мащlэ.●

●Къебыбажьэ нэхърэ къежьэуашхэ.  (Къебыбажьэ-къелъэтажьэ. Уэшхыр псынщlэу къежьэу зэуэ щхьэщыкl нэхърэ щlым пкърыхьэу хуэм-хуэмурэ къешхым нэхъыфlщ жыхуиlэщ.)●

●Кlыщ уэщыишэщ.●

●Лэжыгъэмкlэ уашхэщ, щхэнкlэ дыгъужьщ.●

●Лlы и къуэгъурэ вы и гъуррэ.●

●Лlым и нэхъ мыгъуэм  lуэхугъуибгъу зэпеч.●

●Мастэ бейщ.●

●Мастэкlэ  lэшэщ, шатэкlэ бзаджэщ.●

●Махуэ еуэм зегъазэри кхъуей зыхузыр тхьэмыщкlэщ. (Нэхъ  lуэху тыншыр нэхъ гугъуехьу зылъытэм ауаныщlу хужаlэ.)●

●Мэкъуауэгъуэ щlалэ дэгущ.●

●Мэкъуауэгъуэжьым гум жьы дрегъэху.●

●Мыбзэф и лэныстэ мэбзакъуэ.●

●Мыдэф и  lуданэ кlыхьщ.●

●Мыхьэжэф и щхьэлыкъуэкl  къопкl . (Щхьэлыкъуэкl - lэщхьэл мывэр зэрагъэкlэрахъуэ къущ.)●

●Мыщхьэх дахащlэщ.●

●Набдзэ ищl  фlэщlурэ нэр ирищlащ.●

●Нанэ хьэлlамащlэм, дадэ кlэрыщlэнщ.●

●Насыпыр пщэдджыжьым ягъуэщ. (Жьыуэ укъэтеджу уи  lуэху яужь уихьэн хуейщ, жыхуиlэщ,)●

●Нэ илъагъу нэ ещlэж.●

●Нэм фlэбэр  lэбэм еух.●

●Нэр делэщ,  lэр бланэщ.●

●Нэрыlэзэ  lэпэзадэ.●

●Ныкъуэцlалэ-ныкъуэтхьэщ . (Икlэм намыхъэса  lуэхум хужаlэ.)●

●Нысэшхуэ и мастэу егъэбакъуэ.●

●Псэукlэмыщlэ – уэкъулэ щlрейщ.●

●Псэуным лъакъуибгъу щlэтщ.●

●Пхъэlэщ вийм зэдащтэмэ, щlыгулъ къагъазэ.●

●Пщэдеи махуэщ, къэунэхури мазэщ. (Щхьэхынэм и зэман гъэкlуэкlэщ. Ауаныщlу къапсэлъ.)●

●Пыэзэфэхь махуэщ. (lуэху щlэным и гуащlэгъуэщ, жыхуиlэщ.)●

●Пlастэгъажьэ зиужьыжащ. (Зи lуэху щlэкlэм зиужьам хужаlэ.)●

●Сэтэнейр къэщхьэлъэмэ гъунэ иумылъыж.●

●«Си хьэ цlыху хъуащэрэт!» - щlыжаlэ махуэщ. (Лэжьэгъуэм и гуащlэгъуэ махуэм хужаlэ.)●

●Си хьэщlэ нэхърэ си щlэн. (Хьэщlэм сехьэулеилlэ нэхърэ, си lуэху зыгъэзащlэмэ нэхъыфlщ, жыхуиlэщ.)●

●Тэнымрэ дэнымрэ зэхуэдэщ. (Утэми ухэдэми – тум щыгъуэми ущыуэнкlэ хъунущ, жыхуиlэщ.)●

●Уэгъуэм ихьар уэлбанэм къехьыжри, уэлбанэм ихьар уэгъуэм къихьыжыркъым.●

●Уэлбанэ махуэр щlэпытхъщ, фызым я тхъэгъуэр къэбгъавэщ.●

●Уэсэпс хуабэ мэшгъэкlщ.●

●Уэфlрэ уэлбанэрэ я хьэкъ зэтенэркъым.●

●Удэмэ – lуданэ, убзэмэ – бзыхьэхуэ.●

●Удз къыхэш, уэтэр шэж.●

●Уеплъу ущыс нэхърэ уисми еlуб.●

●Уеуэмэ – мэкъущ, уемыуэмэ, къурэщ.●

●Узэгугъур къогугъуж.●

●Улажьэмэ, лыжь пшхынщ, умылажьэмэ, лажьэ бгъуэтынщ.●

●Улажьэу ушхэжын нэхъыфl щыlэкъым.●

●Хамэlэр lэгъэзагъэ щхьэкlэ, гугъэзагъэкъым.●

●Хамэlэ lэгъэпсэху щхьэкlэ, гу гъэпсэхукъым.●

●«Хэт бей?» щыжаlэм, «мастэ бейщ» жаlащ.●

Хыумылъхьэ къыхэпхыжыркъым. (Щlым тепсэмэ, къытохыж жыхуиlэщ.)●

Хуэмыху и lуэху блэкlыркъым.●

Хъуэжэ лыщlэ къищтэри лыщlакlуэ ежьэжащ.●

Хьэмтетыгъуэ гъаблэ щыlэкъым.●

Хьэрычэтым берычэт хэлъщ.●

Шэмыгъапцlэ жэшщ. (гъэмахуэ жэщ кlэщым хужаlэ.)●

Шылэм и кlэм зеукlыж.●

Щакlуэр зэузэбзмэ, бэжэбз къехь.●

Щхьэхынэр теджмэ, псыбафэр куэд мэхъу.●

Щынащхьэ плъагъумэ гъэмахуэщи, lэтащхьэ плъагъумэ щlымахуэщ.●

Щlым зы ептмэ, щэ къыуетыж.●

Щlыр вакъапхъэ-вакъапхъэу зэхэлъщ.●

Щlыр кlийуэрэ къокlуэ, гъэр гъыуэрэ мэкlуэж.●

Щlыщэ мэш бэвщ.●

●«Яхуэмышхын сщlынщ», - жиlэри ямышхыфын ищlащ.●

●lэмбатищэ нэхърэ зы гъущагъэ.●

●lэтэр эмбатэ щхьэкlэ мэфыж. (Зы мащlэ нумыгъэсу къанэмэ, пщlа псори мэкlуэдыж, жыхуиlэщ.)●

●lэхъуэгъуэтегъэкl. (Зэмыгугъуу ящlэ lуэхум хужаlэ.)●

●lэщlагъэ зиlэ lэужь иlэщ.●

●lуэху зи lуэху lуэху lуощlэри, шхын зи lуэху щхын lуощlэ.●

●lуэху мыублэ блэ хэсщ.●

●lуэху пщlыр lуэху мэхъу.●

●lуэху щlэкlэ зымыщlэр lуэху щlэным егъалlэ.●

●lуэхум игъэлlа щыlэркъым.●

●lуэхур жыlэгъуафlэ щхьэкlэ, щlэгъуафlэкъым.●

...................
Giriş     1.Bölüm     2.Bölüm     3.Bölüm     4.Bölüm    
5.Bölüm     6.Bölüm     7.Bölüm     8.Bölüm     9.Bölüm
...................