...................
...................
ADİGE ATASÖZLERİ  -4
4
. Bölüm / Еянэ Пычыгъуэ
lУЭХУГЪУЭ ЗЭМЫЛlЭУЖЬЫГЪУЭХЭМ ЯТЕПСЭЛЪЫХЬ, КЪИНЭМЫЩl ПСАЛЪЭЖЬХЭР

КЪЭРДЭНГЪУЩI Зырамыкущ
Hazırlayan, Tercüme eden: KHUMIKH Vehbi Kovulmaz

                         
...................
...................

●Абрэмывэ пэт зы пlэм илъкъым.●
●Адакъэр мыlуэкlи нэху щын къанэркъым.●
●Адэ мылъку бынгъэкlуэдщ.(И адэм и мылъкум щыгугъыу мылажьэурэ хуэмыху мэхъу, жыхуиlэщ.)●
●Ажал зимыlэ щыlэркъым.●
●Ажал мыхъумэ lэзэгъуэ зимыlэ щыlэкъым.●
●Ажалыр бжэщхьэlум нэхърэ нэхъ благъэщ.●
●Акъыл блымщ.●
●Акъыл зиlэм имыlэ щыlэкъым.●
●Акъылыр жьыгъэ-щlагъэкъым.●
●Акъылыр нэмысщ, блымыр насыпщ.●
●Анэм и гъуапэр пхъум и джанэщ.●
●Анэм и хабзэр пхъум и бзыпхъэщ.●
●Апхуэдэуи мэхъу, нэхъыфlи мэхъуж.●
●Аргъуейм и лым хуэдэщ и лэпсри.●
●Афищэ зытар хьэ матищкlэ ящэжащ.●
●Аслъэныр жьы хъумэ хьэlуцыдзыр щодыхьэшх.●
●Ахъшэр пшахъуэщи, гъащlэр пцlащхъуэщ.
(Пшахъуэр пlэщlолъэлъ, пцlащхъуэр пlэщолъэт, жыхуиlэщ.)●
●Бэр зэкъуэтмэ – текуэныгъэщ.●
●Бэр зэнэцl нэхърэ бэр зэхъуэхъу.●
●Бгъэплъыщэмэ, мывэри зэгуоуд.●
●Бжэн щынэ къилъхуркъым.●
●Бзаджэ уи пашэмэ, бзаджэ ухуешэ.●
●Бзум и лым хуэдэщ и лэпсри.●
●Блэбгъэкlым, улъэщlыхьэжыркъым.●
●Блэр бэгмэ, и гъуэм ихуэжыркъым.●
●Блымыр уэсэпсщ, цlыхупсэр маещ.●
●Вындым и шыр ишхыжынумэ, сабэм хекухь.●
●Выри лъэщ дыдэщ – къаубыдри щlащlэ.●
●Губгъуэ пщlащэрэ унэ пщlащэрэ зэтохуэ.●
●Гугъуехь зымылъэгъуам тыншыгъуэ ищlэркъым.●
●Гугъуехьыр шэчыгъуафlэщ.(Умышэчынкlэ lэмал щимыlэкlэ, уигу уогъэбыдэри уошэч, жыхуиlэщ.)●
●Гудзэр теувэгъуэ-теувэгъуэщ.●
●Гур зыщыплъэм, нэр мэплъакъуэ.●
●Гур зыхуеlэм lэр лъоlэс.●
●Гур мыгъмэ, нэр гъыркъым.●
●Гурэ гурэ лъагъуэ зэхуаlэщ.●
●Гурыщхъуэ нэрыщхъуэ ухуешэ.●
●Гуфlэгъуэри гуlэгъуэри зэпыщlащ.●
●Гухэхъуэ щlэщ, гухэщl жьыщ.●
●Гущэ зыхуащlым бэни хуащlыж.●
●Гъащlэ зиlэм уахътыи иlэщ.●
●Гъуамэ цlыку нэхърэ гъуамэшхуэ.●
●Гъуэгу благъэ жыжьэ нэхърэ, гъуэгу жыжьэ благъэ.●
●Гъуэгу техьэ гъуэгу тенэркъым.●
●Гъуэгум и кlыхьагъым хуэдизи и бгъуагъщ.●
●Гъущl куэбжэ зиlэ гъущl мастэ щощlэ.●
●Гъущlыпэ пэтрэ мэхъуапсэ.●
●Дахагъэм дагъуищэ егъэпщкlу.●
●Дахэу ябз дахэу ядыжыркъым.
(Дахагъэ псор зым бгъэдэлъкъым, жыхуиlэщ.)●
●«Дунейм сыт нэхъ lэф, сыт нэхъ дахэ, сыт нэхъ жэр?- щыжаlэм:
- Псэ нэхъ эфlщ,
- Гъатхэ нэхъ дахэщ,
- Гу нэхъ жэрщ», жаlащ.●
●Дунейр гъуэрыгъуэ щэнтщ.●
●Дунейр чэзущ.●
●Дунейр шэрхъщи мэкlэрахъуэ.●
●Джэд нэхърэ джэдыкlэ нэхъ lущщ.●
●Джэд щыкъун и пщlыхьщ.●
●Джэду здэщымыlэм дзыгъуэ щоятэ.●
●Джэдум и щырыр ищхыжын хъумэ, «дзыгъуэ ещхьщ» жеlэ.●
●Джэдым зэрыфlагъэжыну сэр къеулъэпхъэщ.●
●Дзэр куэдрэ узмэ – lуач.●
●Е мыхъу фlы хъужыркъым.●
●Ебгъэлеймэ – къреху.●
●Емыкlур екlу мэхъури екlур емыкlу мэхъу.●
●Емынэрэ пэт зэрыхьэм зыгуэр къренэ.●
●Ер вы бжьакъуэм къокl.●
●Жаlэр къос, ясэр къокl.●
●Жеймрэ гугъэмрэ адэ щlэиныфlщ.●
●Жыг зытеуэри мэгурым, пщlащэ зытехуэри мэгурым.●
●Жыгыжьыр иту, жыгыщlэр йобэт.●
●Жылэ лажьэ лажьэ хъуркъым.●
●Жьэр щхьэм и лыкlуэщ.●
●Жьы къемыпщэу къурэ сыскъым.●
●Жьым къихьыр псым ехьыж. (Гугъу удемыхьу къэбгъуэтар кlуэдыжыгъуафlэщ, жыхуиlэщ.)●
●Жьым щытхъуи щlэр къащтэ.●
●Жьыф здэщымыlэм щlэфlи щыlэркъым.●
●Зэбий нэхърэ зэбэу.●
●Зэгуэс нэхърэ зэгуэт.●
●Зэдэгъуэт нэхърэ зэблэгъуэтыкl. (Зы махуэм псори уиlэ нэхърэ, мащlэми, махуэ къэс зыгуэр бгъуэтмэ, нэхъыфlщ, жыхуиlэщ.)●
●Зэдеlэмэ бгыри ягъэкуэш. (Ягъэкуэш – ягъэlэпхъуэ.)●
●Зэзри зи хущхъуэ щыlэщ.●
●Зэхьэзэхуэ мэунэри зэижитl мэунэхъу.●
●Зи игъуэр дахэщ.●
•Зи къуэш мащэ хуэзытlыр йохуэж.•
●Зы акъыл нэхърэ акъылищэ.●
●Зыгуэр щыжаlэм зыгуэр щыщыlэщ.●
●Зы гъэм къэкl удзыр зы вым ихъуркъым, къэхъуну-къэщlэнур зы лlым ищlэркъым.●
●Зы къэлэрри къэлэрищэри зэхуэдэщ.●
●Зы мафlэ хъуаскlэм жылэ псор къресэкl.●
●Зы мэлыфэ тlэу трахыркъым.●
●Зы хьэ зэбэным хьищэ йобэн.●
●Зым и гуращэр щэм я гуращэщ.●
●Зым и хущхъуэ зым и щхъухьщ.●
●Зым и хьэдагъэщ, зым и нысашэщ.●
●Зым тlур и дзэщ.●
●Зым хуэмыфl хьэдрыхэ ягъакlуэркъым.●
●Зыр лlа щхьэкlэ, зым зилlэжрэ?●
●Зыхьри мэгугъэ, яхьри мэгугъэ.●
●Икlута из хъужыркъым.●
●Илъэс плlыщlыр – дыгъужь плlыщlщ, илъэс хыщlыр - хьисэп хыщlщ, илъэс пщlейр – пэщащэ пщlейщ, илъэсищэр – джэдыкlищэщ.●
●Къэрдэщыщхьэ мэщхьэлъэри щхьэж и лъэпкъ йоуэж. (Къэрдэщ – удзщ.)●
●Куэд зыгъащlэ нэхърэ куэд зылъагъу.●
●Куэдрэ шэм ухэплъэмэ, лъы холъагъуэ.●
●Кхъуэр зыщышынэн щымыlэмэ, lуащхьэм
докlуей.●
●Къанзэгурэ пэт гу егъэуфэрэнкl.●
●Къашыргъитl зэрошхри бзу ишхын къыдокl.●
●Къэбублэр хабзэщ.●
●Зэманым декlур лlыфlщ.●
●Къежьэкlей – кlуэдыжыкlейщ.●
●Къуанщlэм нэ хуащlати «набдзэ» жиlащ.•
●Къуанщlэм узэхуишэр псэхэлlэлщ.●
●Къупщхьэ – къуаншэщи, лы пшэр - дахэщ.●
●Кlапсэшхуэм ихьар арэфыпсым къехьыж.●
●Кlыгуугу и цlэ иреlуэж.●
●Лажьэр къэкlуэгъуафэ щхьэкlэ, кlуэжыгъуейщ.●
●Лы зышхар лэпс йофэж.●
●Лыр фымэ, шыгъу траудэ, щыгъур фымэ сыт иращlэрэ? (Мыхъумыщlэр зымыдэн хуейм езым мыхъумыщlэ ищlэмэ, хужаlэ.)●
●Лъакъуэ зышхыр щхьэ шхыгъуи йохуэ.●
●Лъэпкъ и зыпкъ кlуэдыркъым. (Къызыхэкlа лъэпкъым зыгуэркlэ емыщхь щыlэкъым, жыхуиlэщ.●
●Лъы уасэрэ пхъу уасэрэ мылъку хъуркъым.●
●Лlар псэум пащlыркъым.●
●Лlэныгъэр жьыгъэ-щlагъэкъым.●
●Лlэныгъэр lыхьэмыгуэшщ.●
●Лlэужьыр бжьиблкlэ мауэ.●
●Лlы и махуэрэ шы и махуэрэ зэхуэдэкъым.●
●Лlыр лъэпкъщ.●
●Мазэрэ пэт дыркъуэ иlэщ.●
●Мардэ зимыlэ щыlэкъым.●
●Мафlэ мащlэ lугъуэбэщ, бын мащlэ цlэцlалэщ, гъаблэ бысым гуащэщ.●
●Мафlэм и гъунэгъу лыр мажьэ.●
●Мащэ зыт йохуэж.●
●Мэкъумылэр мащlэмэ, шкlащlэр шхэрей мэхъу.●
●Мэлищэ щlакхъуэншэ хъурэ?●
●Мыгъуащэрэ щымыуэрэ щыlэркъым.●
●Мылlэр лlы мэхъу.●
●Мыщэ дыгъужь фlэбэлацэщ.●
●Мыщэр зыпlам йобэныж.●
●Насыпыр lыхьэмыгуэшщ.●
●Нащэр мыхъунумэ, кlэрэф мэхъу.●
●Нэдым и щхьэр умытlатэу хьэ илърэ ху илърэ пщlэркъым.●
●Нэм екlур гуми йокlу.●
●Нэм и узыр нахуэщи гум и узыр щэхущ.●
●Нэм илъагъур щхьэм и уасэщ.●
●Нэм ипэ псэр ихуэ.●
●Нэм псэр и фыгъуэгъущ.●
●Нэри хьэхущи псэри хьэхущ.●
●Нэхъыбэм ящlэр хабзэщ.●
●Нэхъыжь нэмыс, нэхъыщlэ насып.●
●Нитlрэ пэт зэхуэдэкъым.●
●Нобэ уи махуэщ, пщэдей си махуэщ.●
●Ныбэрэ бынкlэ псори зэхуэдэщ.●
●Ныбгъуэр жьы хъумэ, адэжынэ мэхъуж. (Ныбгъуэр жьы хъумэ, и лыр адэжынэм и лым хуэдэу пхъащэ, lэфlыншэ мэхъу, жыхуиlэщ.)●
●Ныбгъуэр хьэм хэсми хум игу хуэгъэзащ.●
●Пащlэм къимыхьыр жьакlэм къихьыжыркъым.●
●Пэ зиlэм кlэи иlэщ.●
●Псэжьым гуащэ къелъхури, гуащэми псэжь къелъху.●
●Псэу лlа нэхърэ лlа псэу.●
●Псым и жапlэр езым къегъуэтыж.●
●Псым хэлъ мывитlрэ пэт зонтlэlу.●
●Псыпэр зэрыжэм псыкlэри ирожэ.●
●Псыр гъужми, жапlэр къонэ.●
●Псышхуэм псы цlыкlу хокlуадэ.●
●Пщэдэйрей ныбгъуэ нэхърэ нобэрей бзу.●
●Пщlэгъуалэ утесмэ, иц щыщ къыпхохуэ.●
●Пlалъэ мыщlыр жыжьэщи, пlалъэ щlар къос.● ●Сымаджэр къанэри щlэупщlакlуэр лlащ.●
●Тенджызрэ пэт ткlуэпс.ткlуэпсу зэхэтщ.●
●Тепсэр къытепхыжынщ.●
●Тlакъуэр закъуэ палъэщ, закъуэр щымыlэ пэлъытэщ.●
●Уэсукхъуэр бзу цlыкlум къегъэхъей.●
●Уэсыр фошыгъу хъуати, фошыгъулъэ игъуэтыжакъым.
(Куэдыр пудщ, жыхуиэщ) ●
●Уэщым зиlэтыху, пхъэм зегъэпсэху.●
●Удахэмэ – ухейщ, ухеймэ – улъэщщ.●
●Узэджэр къокlуэ.●
●Узэрыгугъэу ухъутэмэ, уунэхъурэт?●
●Уи япэкlэ мывэ хъурей бгъажэмэ, ухуэзэжынщ.●
●Уигу ирихьыр lэфlщ, фlыуэ плъагъур дахэщ.●
●Уищlмэ (улlэмэ), ущlэинщ.●
●Укъызыщащlэм акъылщи, укъызыщамыщlэм былымщ.●
●Улlмэ, улlакъуэщ.●
●Унэвым уеуэмэ, мэзывым и бжьэ мэхъей.●
●Унэр зэращlа уэщыжьыр щlыбым щlадзыж.●
●Ухэныпэ нэхърэ лъэпхъуамбыщlэ.●
●Ущыджэлэнур пщlэтэмэ, упщlэ бгъэтlылъынт.●
●Ущlалэху уотхъэ.●
●Фадэр гуакlуэрыефэщи, фызыр гуакlуэрыкъашэщ.●
●Фор lэф дыдэщ – зигу иримыхъым ишхыркъым.●
●Фlэщ хъуныгъэ хущхъуагъэ хэлъщ.●
●Фlыгъуэм я нэхъыщхьэр зэгурыlуэщ.●
●Фlым фlы къыпокlуэри, lейм lей покlуэжыр.●
●Хабзэр убзэнкъым, акъылыр къалэнкъым.●
●Хакlуитl зы бо щlэзагъэркъым.●
●Хакlуэмыхъу жылэ гъэунэхъущ.●
●Хейм и лъыр хамэм ещlэж.●
●Хуарэр дэхуэхмэ, гум йокъу.●
●Хъан – техьэгъуэ-текlыгъуэщ.
(Тетыгъуэр чэзущ, жыхуиlэщ) ●
●Хъумпlэцlэджым и кlуэдыжыгъуэм дамэ къытокlэ.●
●Хьэлэр хьэлэкlэ lуауд.●
●Хьэлърэ кхъуэлърэ зэтенэркъым.●
●Хьэм бацэ ишхмэ, бацэ къыдохыж.●
●Хьэм вакъэ хуэпщlмэ, щlешхыкlыж.●
●Хьэм и кlэм рсы къыщlэмыуэу есыкlэ ищlэркъым.●
●Хьэфэм фо из хъумэ, зэгуотхъ.
(Ныбэизыгъэкlэ щыкlа цlыхум хужаlэ) ●
●Цlыкlуу къаьылъху ин хъуркъым.●
●Цlыху зыпl цlыху уасэ хон.●
●Цlыху цlыху щlыжщ. (Цlыхур зыгъасэр, зыущийр цlыхурщ, жыхуиlэщ.)●
●Цlыхугъэ зиlэ, и хьэ сыкъишх. (Цlыхугъэншэм удэпсэу нэхърэ, цlыхугъэ зиlэм удэкlуэдым нэхъыфlщ, жыхуиlэщ.)●
●Цlыхум я фэр зэрызэхуэмыдэм хуэдэу, я гури зэхуэдэкъым.)●
●Чэзу зимыlэ щыlэкъым.●
●Чы щlыкlэ умыгъэшыр бжэгъу хъумэ, пхуэгъэшыжыркъым.●
●Шэм исар шхум йопщэ.●
●Шейтанри жьы хъумэ, муслымэн мэхъуж.●
●Шкlахъуэми зы нэхъыж яlэщ.●
●Шкlэплъ зытелъ нэхърэ дагъэ зытет. (Дахэ нэхърэ фlы жыхуиlэщ.)●
●Шы бэгуитl зэхъуэгъущ.●
●Шы щlакъуэ утесмэ, шы лъэ псо ухуехь.●
●Шыгъу зышхар псы йофэж.●
●Шым и пащэр яlуантlэмэ, и щlыбыр щогъупщэ.●
●Щхьэж и зекlуапlэ и кlуэдыжыпlэщ.●
●Щхьэж щыщ и щыдэжынщ.●
●Щхьэм имылъмэ, лъэм и мыгъуэщ.●
●Щхьэтепlэншэ къабзэ хъуркъым.●
●Щыгъын гуащэщи ятlэ пщы унэщ.●
●Щрабзэм щыпаупщlыркъым.●
●Щыlэкlей кlуэдыжыкlейщ.●
●Щlалэгъуэрэ дахэгъуэрэ зимыlэ щыlэркъым.●
●Щlалэгъуэрэ делэгъуэрэ зимыlэ щыlэкъым.●
●Щlэблэ зыщlэмыхъуэр лъэпкъ хъуркъым.●
●Щlэин ещэр щlэин мэхъу.●
●Щlэр жьы мэхъури жьыр щlэ хъужыркъым.●
●Щlэр къэхъунум щlэнэцlурэ жьы мэхъу, жьыр блэкlам щэнакlэурэ мэлlэж.●
●Щlэщхъу зыщlэ къыщlэкlуэркъым.●
●lэзэгъуэ зимыlэ узыгъуэ щыlэркъым.●
●lей мыхъу фlы хъужыркъым.●
●lитрэ пэт зэрымытхьэщlу зэрыщlэркъым.●
●Яжьэжь щlаха къыщlэпхьэжкlэ хуабэ хъужыркъым.●

...................
Giriş     1.Bölüm     2.Bölüm     3.Bölüm     4.Bölüm    
5.Bölüm     6.Bölüm     7.Bölüm     8.Bölüm     9.Bölüm
...................