...................
...................
ADİGE ATASÖZLERİ  -7
7
. Bölüm / Еянэ Пычыгъуэ
lУЭХУГЪУЭ ЗЭМЫЛlЭУЖЬЫГЪУЭХЭМ ЯТЕПСЭЛЪЫХЬ, КЪИНЭМЫЩl ПСАЛЪЭЖЬХЭР

КЪЭРДЭНГЪУЩI Зырамыкущ
Hazırlayan, Tercüme eden: KHUMIKH Vehbi Kovulmaz

                         
...................
...................

●Адэ лlэужьыншэрэ лыншэ къупщхьэрэ.●
●Адэр дэм хуэдэщи, анэр нэм хуэдэщ.●
●Адэр шхэкlэ къуэм зигъэнщlыркъым.●
●Анэ бгъафэрэ хъурыфэ джэдыгурэ●
●Анэ дэкlуэрэ лlы дэкlуасэрэ. (Тlуми емыкlу пылъкъым, жыхуиlэщ.)●
●Анэ зимыlэм гуlэр и махуэщ.●
●Анэ зимыlэ сабийр, адэ иlэми, ибафэщ.●
●Анэр нэщи, адэр лъэпкъщ.●
●Анэгукlэ къеlэри, анэlэкlэ къитри къызитам къысхуищlащ.●
●Анэнэпэсыр уэсым нэхърэ нэхъ щlыlэщ, зэзым нэхърэ нэхъ дыджщ.●
●Анэнэпlэсрэ гупкlэ тlысыпlэрэ.●
●Анэр бын гъэкlуэдщ. (Быным сысхьурэ, еубзэурэ егъэсэхъу, жыхуиlэщ.)●
●Анэ шыпхъу анэ палъэщи, адэ къуэш адэ палъэщ.●
●Балагъыкlыр зыlыгъым хьэ къарибгъу щогугъ.●
●Биижь благъэ хъуркъым, благъэжь бий хъуркъым.●
●Благъэ жыжьэ нэхърэ гъунэгъуфl.●
●Благъэ хъумэнрэ ху хъумэнрэ зэхуэдэщ. (Тlури хъумэгъуейщ, lыгъыгъуейщ, жыхуиlэщ.)●
●Благъэжьрэ дыжьыныжьрэ.●
●Быдзышэр хьэкхъуафэм иракlэркъым. Быдзышэм нэмыс иlэн хуейщ, жыхуиlэщ.)●
●Былым къыпщlын нэхърэ быныфl къыпщlын.●
●Бын зэхэдзэрэ удын зэхэдзэрэ.●
●Бын зимыlэр щlолlэ, зиlэр йолlалlэ.●
●Бын тlуащlэ лlы гу хэщlщ, бын щащlэ лlы фэ техщ.●
●Быныр нэм и хъуахуэщ.●
●Бысым гуащэщlэ хьэщlэ и щlасэщ.●
●Гуащэм и хабзэр нысэм и бзыпхъэщ.●
●Гуащэр гъуммэ, шхэрейщи, нысэр кlэнтlмэ, шхын щlэлlэщ.●
●Гъатхэ дыгъэ си нысэ типси, бжьыхьэ дыгъэ сипхъу типсэ.●
●Гъунэгъур унэгъущ, къигъунэгъужыр гъунэгъущ.●
●Гъунэгъурэ гъуэншэджрэ●
●Гъунэгъуфl – къуэшыфl палъэщ.●
●Дадэм щlыгъур нанэщи, нанэм щlыгъур дадэщ.●
●Дэлъхум и lыхьэр шыпхъум ехь,(Шыпхъур и дыщым къэкlуэжыху, дэлъхум и lыхьэм щыщ ехь, жыхуиlэщ.)●
●Дэlэбеи ет, еlэбыхи къашэ.●
●Делэ благъэ нэхърэ губзыгъэ бий.●
●Делитl зэгуэгъущ, тlуанитl зэегъущ.●
●Дыгъэ нэпс нэхърэ анэ бгъафэ.●
●Драхьеймэ, мэгъущlэ, кърахьэхмэ, мэщlытэ.●
●Дыщ мэжаджэ lэфlщ.●
●Джанэ нэхърэ гъуэншэдж нэхъ благъэщ.●
●Джэд хуэдэ, быныфlэщ●
●Джэдумрэ фызымрэ унэгуащэщи, хьэмрэ лlымрэ ныбгъуащэщ.●
●Еблагъэ зи бэм и бын мэжалlэркъым.●
●Егъур гъуэтыгъуафlэщ, благъэр гъуэтыгъуейщ.●
●Етlуанэлlрэ lулlэlуданэрэ.●
●Жагъуэгъурэ щlасэгъурэ зимыlэ щыlэкъым.●
●Жагъуэлlрэ лlэныгъэрэ.●
●Жэм лъакъуэ шкlэ иукlрэ?●
●Жьы зэрымысым нэмыс илъкъым, щlэ зэрымысым насып илъкъым.●
●Закъуэныгъэ нэхърэ lэл къыбдис.●
●Зэдэшхэ lэфlщи зэдэфl унэщ.●
●Зэкъуэш псори зы анэм къилъхуркъым.●
●Зэкъуэшитl зэкъуэщтыжыркъым. (Зэкъуэщтыжыркъым – щтэуэ зыр зым хыфlидзэркъым.)●
●Зэкъуэшитlрэ дзитl зыlутрэ.●
●Зэлlзэфыз я псэ зы чысэ илъщ.●
●Зэхэкlыр губжьым къыхокl.●
●Зэхуэдитlыр къызэдофэри джэду хьэжы зыкъещl.●
●Зэхуэфащэ зэщауэгъущ.●
●Зегъэуби уи бын пlыж.●
●Зи адэ лlар ибэ ныкъуэщ, зи анэ лlар ибэ хъурейщ.●
●И бын гуlущlэу зыгъасэм и нэпскlэ епшыныж.●
●Зи щхьэ уи унэ исым и псэ уи унэ илъщ.●
●Зилl lэмбатэм и фыз куэтэрамэщ. (Зилl мыкlуэмытэм и фызри апхуэдэщ, жыхуиlэщ.)●
●Зы бын зиlэми бынищэ зиlэми зэхуэдэу ялъагъу.●
●Зи унэ и хьэдэ зы унэ итlысэркъым.●
●Зы хьэщlэм зы хьэщlэ и жагъуэщи хьэщlитlыр бысымым и жагъуэщ.●
●Зыпс ираш зэшыпхъущ.●
●И анэр гупсэщ, и адэ псоущ. (Къэзылъхуахэр узыншэщ, псоущ, насып иlэщ, жыхуиlэщ.)●
●И анэ еплъи ипхъу къашэ.●
●И адэ еплъи и къуэ дэкlуэ.●
●И нэм и джабэхъщ, и псэм къыпатхъащ.●
●И нэм и нэхущ, и псэм и хъуахуэщ. (Мы псалъитlми : фlы дыдэу елъагъу, жыхуиlэщ.) ●
●И уанэ трилъхьэмэ, игу ирилъхьэжащ. (Щхьэ закъуэу, бынунэ зимыlэу псоум хужаlэ.)●
●И щхьэ закъуэ и лъакъуитlщ.●
●Игу къобгъэну анэкъилъху нэхъ бзаджэщ●
●Имылъагъумэ, щlолlэ, илъагъумэ, йолlыкl.●
●Имысрэ сымаджэрэ lыхьэншэщ.●
●Къакуэ псори благъэщ.●
●Къакlуэхэ я унэщ.●
●Къалъхур ирегъашэ, къашэр егъэнысэ.●
●Къантешэ нэхърэ къаншэж.●
●Къапшэ хъунущ, хуэпшиин уиlэмэ.●
●Къэдаlуэ, си хъыджэбз, зэхэщlыкl, си нысэ.●
●Къэзылъхуар мэупlэри зымыпlам хуолажьэ. (Хъыджэбзыр зыщэлъхуа унагъуэм йокlри зыдэкlуам яхуолажэ, жыхуиlэщ.)●
●Къэзышагъащlэм щlакlуэщlэрэ кlуэкlэщlэрэ къещтэ.●
●Къэсшэн согъуэт, сымыгъуэтыр къыздэкlуэнщ.●
●Къомыгъуэжынур, къомыщэжынур уи анэрэ уи нитlрэщ.●
●Кърум шыр имыlэмэ, зы бзущ.●
●Къужэ дэз lыхьлы нэхърэ жылэ и зырыз благъэ.●
●Къуажэ ив нэхърэ къуажэ и благъэ.●
●Къуаргърэ пэт, и шырым «хужь цlыкlукlэ» йоджэ.●
●Къуэ бзаджэм адэм хъуэн къыхуехь, пхъу бзаджэм анэм хъуэн къыхуехь.●
●Къуэ бзаджэм яжьэм ухегъэс, пхъу бзаджэм хасэ урехьэ.●
●Къуэ закъуэрэ нэ закъуэрэ.●
●Къуэ зимыlэ адэр нысэлъыхъу ежьэркъым.●
●Къуэ пцlыупс зиlэ и анэ гуфlэ щыщlэркъым.●
●Къуэ уиlэмэ, нысэ уиlэщ.●
●Къуэм и нэр нэфми, анэм псэууэ елъагъу.●
●Къуэм и псэр анэм и псэфылъэщ.●
●Къуэм уилlынщ, лlым уипlынщ.●
●Къуэр напщlэщ, пхъур набдзэщ.●
●Къуэр унэм и пкъощ, пхъур унэм и щlэращlэщ.●
●Къуэрагъыр ираупсеящ. (Къэшэгъуэ, дэкуэгъуэ чэзур зылъыса щlалэм е хъыджэбзым хужаlэ.)●
●Къуэфl и анэ гуфlэ щигъащlэркъым.●
●Къуэш егъу нэхърэ ныбжьэгъуфl.●
●Къуэш зимыlэм башым lэплlэ ирешэкl.●
●Къуэш и щlэеин къуэш ехьыж.●
●Къуэш лей щыlэкъым.●
●Къуэш – шыпхъур хы къумиблым къыкъокl.●
●Къуэшым я нэхъ жагъуэгъумрэ щауэгъум я нэхъ щlасэмрэ зэхуэдэщ.●
●Къуэшыншэ щlэупщlакlуэншэщ.●
●Къуэшыр зыщыбэм бэныр щыбыхъущ.●
●Лъагъуныгъэ зыхуэпщlым гущlэр къегъэхъей.●
●Лъагъуныгъэ зыщlам лъагъукlэ ищlэжыркъым.●
●Лъхурыкlуэд – лъхурыщlэхщ.●
●Лlакъуэр зыщыбэм быныр щыхейщ●
●Лlы гурымыкъыр фыз гъагъщи, лlым и гъринэр гуемыlущ.●
●Лlы жьей фызгъэгъущ●
●Лlы зэрымыс унэр сабафэщ.●
●Лlы и фыз трахрэ?●
●Лlы хьэщlэ нэхърэ фыз хьэщlэ.●
●Лlы щепткlэ умыгъ, кърагъэкlыжмэ, гъей.●
●Лlыгъуабэм быныр ирепхъыхь, фызабэм быныр къещыпыж.●
●Лlым и узыншагъэр фызым и фlыгъэщ.●
●Лlымрэ фызымрэ зэхуагъэувыр я хабзэщ.●
●Лlырэ фызрэ мащэ тlа яку дэлъщ.●
●Малъхъэр хъумэ, къанщ, мыхъумэ, шыдщ.●
●Малъхъэщ, жыпlэу унэгъу умыщl, щlалэщ жыпlэу къебгъэшэн къыумыгъанэ.●
●Махуаем бгъуэтыжыр ныбжьэгъущи, уи хьэмтетыгъуэм бгъуэтыр уи шхэгъущ.●
●Мэлищэ нэхърэ щуlэгъэфl.●
●Мыгъуэр зи мыгъуэр анэрщ.●
●Насыпыр фызым къыдокlуэ.●
●Нэгум щlэтыр нэм хуэдэщ.●
●Нэм псэр и фыгъуэгъущ.●
●Нэм псэр зыщlешэ, гум гур къреджэ.●
●Нэм пэжыжьэми гум пэблагъэщ.●
●Нэхъыщlэ нэхъ щlасэщ.●
●«Нэчыхьым сигу щыкlащ», жиlащ куэдрэ яшэурэ кърагъэкlыжа пасэрей пхъужьым.●
●Ныбжьэгъум занщlэу къыбжиlэнщ, бийм уи щыбкlэ щигъэlунщ.●
●Ныбжьэгъум ягъэпуда лlыр фызыфlым къыдехыж.●
●Ныбжьэгъур бгъэунэхунумэ, хуитыныгъэ ет.●
●Ныбжьэгъур уи нэгу къыщlоплъэ, жагъуэгур уи лъакъуэ йоплъых.●
●Ныбжьэгъур щагъэунэхур махуейщ.●
●Ныбжьреилl щыlэкъыми ныбжьрей дыщ щыlэщ.●
●Нысэ унэгъу тlуанэгъуейщ.●
●Нысэ lейм унафэр унэм ирех.●
●Нысэгъукъуэ нэхърэ тlуанэ къуибгъу.●
●Нысэм зэхихыу уи пхъум еущие.●
●Нысэм уеубзэмэ, данэ убзэ къыуитынщ.●
●Нысэр фlыщ, жыпlэу цlэ фlумыщ, и цlэр езым зыфlищыжынщ.●
●Псэр зэхъуапсэр дахэщ.●
●Псым икl пэтрэ я кlэ зэнтlэlуащ. (lыхьлыгъэ зэхуаlэкъым, жыхуиlэщ.)●
●Пфlэмащlэр хьэщlэ lусщ. (Шхыным ущысхьмэ, хьэщlэ шхын мэхъу, жыхуиlэщ,)●
●Пхъур зэрыбгъасэщ, нысэр зэресащ.●
●Пхъур хамэ бынщ.●
●Пхъурылъхур пкlэм думыгъэплъей. (Куэдрэ пумыгъаплъэу lэнэ къыхуэщтэ, жыхуиlэщ.) ●
●Пхъурылъхур къихьэмэ, псатхъэр магъ.●
●Пхъурылъхурэ къанрэ зэхуэдэщ.●
●Пцlырыпыхьэ щlэинхьыж.●
●Пщащэр дэгъуэмэ, гъунэгъур и фызщэгъущ.
(И фызщэгъущ – фызу ешэ, жыхуиlэщ.)●
●Пщащэр унэ гуащэмэ, кхъуейхьэбыкъуэ ешх.●
●Пlэщхьагъей уиlэу хьэдагъэ умыкlуэ.●
●Сабий зэрымысым насып илъкъым.●
●Сабий зимыlэм имыlэlауэ къыщохъу.●
●Сабий щlэхъупсым гущэпс ед.●
●Сабийр зыгъашхэр и анэщ.●
●Сабийм и кlэтийр бжыхьыпэм пылъми мэджэгу.●
●Сабийм адэ имыlэжмэ, зеиншэкъым, анэ имыlэжмэ, зеиншэщ.●
●Сэ нэхъыфl умыгъуэтмэ, сыкъэшэж.●
●Си анэм зэрыжиlэу сымыщlу, си фыз зэрыжиlэ тхьэм сищl.●
●Сыкъамыдэми сырадахэщ.●
●Уэ пхуэдэ сещэмэ, щэ иризгъэкъунщ.●
●Узэлъэlу къэгъани къолъэlу къашэ.●
●Узэрымылъагъуу lэф щыlэкъым.●
●Узейм уигъэкъакъэмэ, хамэм къакъэ къыуатынщ.●
●Узыгъэблагъэ гъэблэгъэжи узыгъэбий гъэбииж.●
●Узыукlыр уи бийщи, ущlэзылъхьэжыр уи къуэшщ.●
●Узыхэфыжыну псым хьэ хыумыукlэ, иумыгъэкlыжыну фызым дзы хуумыус.●
●Уи адэр фlамэ, уэ уи щытхъукъым, къуэфl упlамэ, къыпщытхъунщ.●
●Уи анэ и lэ илъым еплъи, уэ уи lэ илъым едзакъэ.●
●Уи анэ зэрымысым дыщасэ умыкlуэ.●
●Уи анэ къимылъхуар уи дэлъхукъым, уи дэлъху къимышари уи нысэкъым.●
●Уи благъэ и унащхьэ плъагъуу ублэмыкl.●
●Уи благъэ къыуитым и дзэ удэмыплъэж.●
●Уи благъэ уемыпэгэкl – уи бийм благъэ хуэхъунщ.●
●Уи бынрэ уи благъэрэ умыбж.●
●Уи гъунэгъу и фэ къыптоуэ.●
●Уи гъунэгъу умыуб, уи благъэщlи ущымытхъу.●
●Уи гъунэгъум къыпхуимыщlэр жыжьэм къыпхуищlэнкъым.●
●Уи гъунэгъур уи гъуапэщ.●
●Уи гъунэгъур уи lэнэгъумэ, уехъулlащ.●
●Уи къуэ уемыубзэ, уи бзи уемыгуауэ.
(Уи бзи – уи бзылъхугъи, жыхуиlэщ.)●
●Уи къуэрэ уи нысэрэ къахуэбублэр къалэнщ.●
●Уи кlуэдыр си кlуэдщ, уи къанэр си къанэщ.●
●Уи напlэ гъэлlи лlы зэгъэгъуэт, унэкур бгъуэтмэ, уи джатэ къих.●
●Уи насып зыхэлъым дыщэхь тепхъуауэ уолъагъу.●
●Уи ныбэ къикlыр уи бынщи, уи лъэуей къелъэри уи джэдщ.●
●Уи нысэ уигу ебгъамэ, уипхъу ешхыдэ.●
●Уи тlуанэ умыуб, уи бын ущымытхъу.●
●Уи фыз къыхуэбублэ и хабзэщ.●
●Уи фыз лlамэ, уи щlэлъэныкъуэр гухуащ.●
●Уи фызрэ уи lэщэрэкlэ хэти дзыхь хуумыщl.●
●Уи фызыр бзаджэмэ, хьэдагъэ умыкlуэ – махуэ къэси уи хьэдагъэщ.●
●Уи фызыр фlымэ, джэгу умыкlуэж – махуэ къэси уи джэгущ.●
●Уи хьэщlэри гъафlэ, уи къуэшри фlыуэ лъагъу.●
●Уи щхьэр зэрыкl нэхърэ уи кlэр зэрылъ.●
●Уи щlалэ зэрыбгъасэщ, уилl зэресащ.●
●Уипхъу зэрысрэ уи нысэ и дыщрэ.●
●Укъэзыукlрэ укъизгъэкlыжрэ.●
●Унагъащlэ гужьеигъуафlэщ.●
●Унагъащlэ хьэщlэхуэфlщ.●
●Унагъу зиlэм унагъуэ и пlалъэ ещlэ.●
●Унагъуэ умыхъуу къуажэ ухъункъым.●
●Унагъуэм гъуанибл иlэщ.●
●Унагъуэм лъакъуибгъу щlэтщ.●
●Унэ зэхэмыбзым си нэрыбз хэкlуадэщ.●
●Унэ зимыlэм унагъуэ иlэкъым.●
●Унэ пхашэ тешэбэщlщ.●
●Унэ фlейм лlыр егъэжь.●
●Унэрыс зы бий нэхърэ унэщlыб биищэ.●
●Унагъуэжьрэ пхъэжь мафlэрэ.●
●Унэкъуэщ хьэщlэ гъэфlэгъуейщ.●
●Унэмыхъу хьэбахъуэщ.●
●Унэнум я хьэ удз ехъури унэхъунум я нысэ мэдыгъуэ.●
●Унэр зейр жьантlакlуэщ.●
●Унэр зыгъэунэри благъэр зыгъэблагъэри фызщ.●
●Унэр игущ, жьэгур и псэщ.●
●Унэр щабгъэр губгъэныр илъын щхьэкlэщ.●
●Ущылъхуэрэ ущылlэрэ.●
●Фадэр куэдрэ щытмэ, мэжабзэ, хъыджэбзыр куэдрэ дэсмэ, мэутхъуэ.●
●Фыз бзаджэ зиlэм и унэ умыкlуэ.●
●Фыз бзаджэ лlыгъэжьщ. (Лlыр щlэх жьы ещl, жыхуиlэщ.)●
●Фыз бзаджэ хьэщlэмыгъашхэщ.●
●Фыз бий нэхърэ жылэ бий.●
●Фыз быдэ илl хьэлэлщ.●
●Фыз дахэ тхьэмахуэ фызщи фызыфl ныбжьырей фызщ.●
●Фыз закъуэм дэмыlэпыкъу лlыр лlыфкъым.●
●Фыз зимыlэ щlалэрэ шхуэ зыпщlэхэмылъ шырэ.●
●Фыз мылъхуэ дахэщ.●
●Фыз улъыхъумэ, благъи дэлъыхъуэ.●
●Фыз хуэмыху зиlэр насыпыншэщ.●
●Фыз хьэдэ лlыгъапцlэщ. (Фыз хуэмыхур лlым еубзэурэ къегъапцlэ, жыхуиlэщ.)●
●Фыз щэ щlыгъуэщ.●
●Фызабэм и бын епlыжри лlыгъуабэм и бын хуэпlыжыркъым.●
●Фызабэр бын щхьэтепхъуэщ.●
●Фызым еуэр лlы мыхъущи, хъуэр зымыдэр лlы делэщ.●
●Фызым игъэпуда лlыр зыми къыдихыжынкъым.●
●Фызым и фlыр лlыгъатхъэщ.●
●Фызыр жьы хъумэ, фlы мэхъуж.●
●Фызыр тlэушхэ – щэшхэщи, лlыр зэ шхэгъуэ закъуэщ.●
●Фызыр щlагъуэмэ, унагъуэм къеlуатэ.●
●Фызыфl быдзышэ налъэ щыщlэркъым.●
●Фызыфl гъэтlылъыгъэншэ хъуркъым.●
●Фызыфl зиlэ и гуауэ шэчыгъуафlэщ.●
●Фызыфl зиlэм хъуэхъу и унэ илъщ.●
●Фызыфl и хьэку ятlэ хьэзырщ.●
●Фызыфl и lэнэ зэтетщ.●
●Фызыфl илl гъуэмылэншэ хъуркъым.●
●Фызыфl илl нэкlущхьэплъщ.●
●Фызыфl илl цlэрыlуэщ.●
●Фызыфlым лlы lейр добжьыфlэри фыз lейм лlыфlыр добжьыгуэ.●
●Фызыфlыр унэщи фыз lейр щlыунэщ.●
●Фlылъагъуныгъэр къупщхьэ зауэм хуэдэщ.●
●Фlыуэ зэрылъагъуитlыр зы фэ джанэм зэдохуэ.●
●Фlыуэ узэрылъагъумэ, бгъэныщхьэ унэри жэнэтщ.●
●Фlыуэ укъэзылъагъум уи дагъуэр уегъэлъагъуж, жагъуэу укъэзылъагъум уи нэ щыбагъкlэ еlуэтэж.●
●Фlыуэ плъагъум зыкъебгъэщlэнумэ, и цlэр куэдрэ жыlэ.●
●Фlыуэ слъагъум хуэзмыщlэнур сремыlэ.●
●Хамэ щlалэ бгъэуджмэ, и анэ къеджэмэ, кlуэжынщ.●
●Хамэм ухуэмыубэ, быным ухуэмыдзыхэ.●
●Хэгъэрей хуэмыхум хьэ къыуегъэдзакъэ.●
●Хэгъэрей бзаджэ дэкlуатэ кlыхьщ.●
●Хэгъэрей бзаджэ шу ужьщ.●
●Хэгъэреифl лъыхъуи, былымлъыхъуэ кlуэ.●
●Хъыджэбз къапшэмэ, уэ зэрыбгъасэщи, пхъужь къапшэмэ, зэресагъэххэщ.●
●Хъыджэбз унэгъуащэмэ, тхьэмбылыкъу ешу.●
●Хъуэн зимыlэр и дыщ кlуэжри хъуэн къихьащ.●
●Хьэ мыбанэ унэ гъэунэхъущ.●
●Хьэ пэтрэ и шырыр дзапэкlэ зэрехьэ.●
●Хьэ хей умыукl, фыз хей иумыгъэкlыж.●
●Хьэдрыхэ куэрэ зи дыщ куэжрэ хэт иубыдп?●
●Хьэкlуфхэр зофийри, зэфэгъухэр зэкlуомщ. (Хьэкlуф – адыгэхэм ящыщ зы лъэпкъыу мэзым хэсу Хы фыцlэ lуфэм lусащ. Зэкlуом – урыс псалъэ «кум» жыхуаlэм къытекlагъэнущ, зэблагъэщ, жыхуиlэщ.)●
●Хьэмэшыпхэ благъэщ.●
●Хьэщlэ жагъуэ псы кlэщlакlэ.●
●Хьэщlэ здэщыlэм хэгъэрей щыlэщ.●
●Хьэщlэ зи жагъуэм лыхуэ хуегъажьэ.●
●Хьэщlэ къакlуэмэ, хэгъэрейр мэгуфlэ.●
●Хьэщlэ хьэщlэтепсыхэ и жагъуэщ.●
●Хьэщlэм и ерыскъыр къыдокlуэ.●
●Хьэщlэмыгъашхэ цlэрыlуэщ.●
●Хьэщlэр бысымым и гъэрщ.●
●Хьэщlэр жэщищ исмэ, быным ящыщ мэхъуж.●
●Хьэщlэр куэдрэ щысмэ, бысымыр йозэш.●
●Хьэщlэр нэщхъеймэ, бысымым и ягъэщ.●
●Хьэщlэр хущхьэрей хъумэ, гъашхи гъэгъуэлъыж.●
●Хьэщlэр хьэзыр щхьэкlэ, бысымыр хьэзыр?●
●Хьэщlэр шхэмэ бжэм йоплъ.●
●Хьэщlэфl и бысымыбжэ зэlухащ.●
●Цlыхубз зыщlэмыс унэр сабафэщ.●
●Цlыхуфl и lэнэ хьэзырщ.●
●Шыгъу пут зэдумышхыу узэрыщlэркъым.●
●Шыпхъум и гур дэлъхумкlэ гъэзащ.●
●Шыпхъуншэ нэхърэ шыпхъу нэф.●
●Шыпхъуншэрэ хьэдагъэншэрэ.●
●Щхьэгъусэр насып зэхэгъэкlыпlэщ.●
●Щхьэж и ныбжьэгъу и гъуджэ – мажьэщ.●
●Щхьэж и фэгъу и гуэгъущ.●
●Щхьэж хуэфащэ и щауэгъущ.●
●Щхьэзыфlэфl щхьэзыфlэфl къелъхуж.●
●Щыпэлlыр щыпэнэхущи, етlуанэлlыр lулэlуданэщ.●
●Щlалэ гурэпкlырэ нэхърэ лlыжь гупсэхуфl.●
●Щlалэр унэ псоми я малъхъэщи, хъыджэбзыр унэ псоми я нысэщ.●
●Щlэщыгъуэр икlри зэрыукlыр къихьащ.●
●Я выр уэдрэ я хьэр пшэрмэ, унагъуэщ.●
●Я нэхъыжь и унафэ я хъыджэбз екъутэ.●
●Я ныху зэпхащ. (Я щэхуи я нахуи зэрощlэ, жыхуиlэщ.)●
●Я щlалэ щlыбыцэ, я кхъуей цы защlэ.●
●Ял зэхэбгъавэми, я лэпс зэхыхьэнукъым.●
●Ямыгъэпхъу пхъукlэ ищlэркъым.●
●Ямылъэгъуа бланэ къаукlыркъым.●
●Япэ къапшэр уи фызщ, етlуанэу къапшэр уи къанщ.●
●Яубыр бысым щlы.●
●Яхь зэхэпхмэ, уипхъу уфlощl.●
●lэр бутхыпщкlэ, lэбжьанэр пыхурэ?●
●lэтащхьэ илъагъумэ, хъыджэбзыр мэгуфlэ.●
●lыхьлы делэ напэтехщ.●
●lуданэ кlапэр кlэщlщ, жыпlэу хыфlумыдзэ, пщыкъуэр щlалэщ, жыпlэу думыдзых.●

...................
Giriş     1.Bölüm     2.Bölüm     3.Bölüm     4.Bölüm    
5.Bölüm     6.Bölüm     7.Bölüm     8.Bölüm     9.Bölüm
...................