...................
...................
ADİGE ATASÖZLERİ  -2
2. Bölüm / Еянэ Пычыгъуэ
lУЭХУГЪУЭ ЗЭМЫЛlЭУЖЬЫГЪУЭХЭМ ЯТЕПСЭЛЪЫХЬ, КЪИНЭМЫЩl ПСАЛЪЭЖЬХЭР

КЪЭРДЭНГЪУЩI Зырамыкущ
Hazırlayan, Tercüme eden: KHUMIKH Vehbi Kovulmaz

                         
...................
...................

Атэкъынэр зи вэкъэпс, къэсыр зытеухь.
(
Атэкъынэгуэншэрыкъ лъэпс
)●

Бацэжь и щlагъ лlыхъужь къыщlокl.●

●Бацэр ибэщ, бзур и бынщ. (Тхьэмыщкlэм, бын и куэдщ, жыхуиlэщ.)●

Бацэхэплъ нэплъэжыгъуэ егъуэт.●

Бгъэр бгъэкlэ ягъасэ, блымыр блымкlэ къагъуэт.●

Бей жей езэгъыркъым.●

●Бейм и хьэ удз ехъу.●

●Бейм я гугъу ящlурэ тхьэмыщкlэм я уэздыгъэ мэс.•

●Бжэн щlакъуэ тегушхуэгъуафlэщ.●

●Бжыхьэпэ уэфlрэ пщы lупэфlэгъурэ. (Туми дзыхь яхуэпщl хъунукъым,жыхуиlэщ.)●

●Бзу кхъуей фlэкlа ямыlэ щыlэкъым.●

●Бзум худрапхъей и унэ щlэлъкъым.●

●Вырэ цlэрэ зэпокъу.●

●Гуащэрэ пэт, къаз деху.●

●Данэр лъапэкlэ зэрехуэ. (Зэщыхуэпыкlауэ къэзыкlухь цlыхубзым хужаlэу щытащ.)●

●Делэр бейм я гуэшэгъущ. (Бейм здигъэгуэшэну щогугъу, жыхуиlэщ.)●

●Дунейр ижэнэтщ. (Тхъэуэ мэпсэу, жыхуиlэщ.)●

●Дунейр и хьэдрыхэщ.●

●Дымыгъуэкъым, дыгущэкъым, ди унэ щхьэ кlапэ дагъэкlэ дымыирэ? (Щыкlам ауаныщlу хужаlэ.)●

●Джатэрыпщ нэхърэ пщы lущабэ.●

●Жылэм я мыгъуэ я гъуощ.●

●Жьы къыщlэпщэркъым, псы къыщlэуэркъым.●

●Жьыр и гупэу мэпсэу. (Гугъехьым пэщlэту мэпсэу, жыхуиlэщ.)●

●Зэрабзыр иlэ щхьэкlэ къырабзэ иlэкъым.●

Зэрыгъэпщыркъым, зэрыгъатхъэркъым. (Лыфlыгъэ зэпэзыубыдаитым хужаlэ).●
Зэхуэдитl зэдзейщ
.●

Зеиншэ шэгъуафlэщ.●

●Зи вакъэ зэврэ зи гъавэ мащlэрэ.●

●Зи деур мащlэм и духьэр кlэщщ.●

●Зи lэгу нэщlым и нэгу щlыlэщ.●

●Зимыlэм бдзы кlыхьри бдзы кlэщlри хуохъу.●

●Зимыlэххэ къызэщэри зил къыщэщ къызэтэщ.●

●Зипщ пэмылъэщ и фыз и табыщэгъущ. (И фызым ионыкъуэкъу, иозауэ, жыхуиlэщ.)●

●Зы выр шхэмэ, зы выр мэгурым.●

●Зы лlыр джэдыгуибгъурэ либгъур джэдыгуншэу.●

●Зы хьэнэф зы хьэнэф и пщыжщ.●

●Зылъэмыкl lэфракlэ и lыхьэщ.●

●Зым и мыгъуэ, зым и махуэщ.●

●Зыхуащlэ нэхърэ зыщlэф.●

●Зыхуэхъур быхъуу мэтыс.●

●И дунейр дэгъэзеигъуэу ехь. (Гугъу ехьу мэпсэу, жыхуиэщ.)●

●И дзыгъуэ лъынэ къокl. (Хуэщlауэ, тхъэуэ мэпсэу, жыхуиlэщ.)●

●И кlэтий и вакъэпсу мэпсэу.●

●И мэлыхъуэ баш пкlэм дридзеижащ. (И мылъкур lэщlэкlуэдэжащ, жыхуиlэщ.)●

●И хьэри и кхъуэри зэрошх. (Гукъеуэншэу, тхъэуэ мэпсэу, жыхуиlэщ.)●

●И щэ и ныбэ ихуэжыркъым.●

●И щэ къовэ.(Къулейм хужаlэ.)●

●Ибэ бэшэкlщ.●

●Изрэ ныкъуэрэ зэрыщlэркъым.●

●Къаным и нэ уезыгъэбор былымщ.●

●Къызыхих ныкъуэ хъуркъым.●

●Къыптекlуэ лъэшщ.●

●Къратыр и lусщ, есыхьыр и мафlэщl. (Зыри зылъэмыкl хьэрычэтыншэм хужаlэ.)●

●Къуалэр лы щигъуэтым щохъуарзэ, уэркъыжьыр блым щигъуэтым щопсых.●

●Кlэкъинэ lэфlщ.●

●Лэгъупыр нэкlэ къегъавэ. (Нэсауэ къулейуэ мэпсэу, жыхуиlэщ.)●

●Лъэкlамэ, зыкъригъэлъхунтэкъым. (Щхьэхынэ lейм хужаlэ.)●

Лъхукъуэлl нысэ зыгъэ-зыщlщ, дыжь джэдыгур зы щlымахуэщ.●

Молэ мин зы мащэ, факъырэ щий зы lэнэ.●

Молэм «жытlэр фщlэи, тщlэр фымыщlэ» жыхуаlэм хуэдэщ. (Мыхъумыщlэ зымыдапхъэм езым щищlэм деж ауаныщlу хужаlэ.)●

●Мыгъуэм и кlапсэр бейм егъэлажьэ.●

●Мыгъуэр мыгъуэщlкъым, ищlыр тэджыжкъым.●

●Мыунэ-мыунэхъу, жэщ хъумэ пхъэдыгъу.●

●«Нанэ и лlыу, дадэ и lунэ» жиlэурэ зэригъэуlуащ.

(Гугъу дехьурэ ерагъыу зэригъэпэщащ, жыхуиlэщ.)●

●Насып зимыlэм и дзэр хъудырым lуещыкl.●

●Насып зиlэм шыlэ иlэщ.●

●Насыпыншэм магъшэм тесми хьэ къодзакъэ.●

●Насыпыр щагуэшым дурэшым дэсащ.●

●Нэгъуеипщ нэхъей, и закъуэ мэшхэж.●

●Ныбэщlэубзэ lуэхутхьэбзащlэщ.●

●Пшагъуэр, дыгъужьыр, уэркъыжьыр, ялыхь, сумыгъэлъагъу – жиlащ.●

●Пщы зыфlэпщым пщылl къыпфlещ.●

●Пщы зи щпэлъагъум тхьэ щохъу.●

●Пщым и шхын шындырхъом къекlэцl. (дэнэ кърахми къыхуэмыгъуэту хъунукъым, жыхуиlэщ.)●

●Пщым и щlыб джатэ щагъэдалъэ.●

●Тхьэмыщкlагъэм сынокlуэ жиlэркъым.●

●Тхьэмыщкlэ динщlэкъущ.●

●Тхьэмыщкlэм и псалъэ тlэу жыlэщ.●

●Тхьэмыщкlэм и фэр lувщ. (Гугъехь куэд и фэм докl, ешэч, жыхуиlэщ.)●

●Тхьэмыщкlэм тхьэр хуэлъэщ.●

●Тхьэмыщкlит зэгъусэмэ, бей хуэдэу мэпсэу.●

●Тхьэр тебгащ, бгыр теуащ.●

●Уаерэ пщаерэ куэд якlуркъым.●

●Уэрэдус пщыпсэlухщ.●

●Уэркъ хабзэр дэгъэзеигъуэкlыхьщ.●

●Уэркъым и жьэ и щопщщ, ипщ хуэдэр и джатэщ.●

●Уэсэпс тхьэгъум зегъэшри, гъэш зимыlэр тхьэмыщкlэщ.●

●Удафэр фэм йокl.●

●«Уи адэр шхын щхьэкlэ лlащ» жаlэу щрахъуэным, «Игъуэту лlа?» - къажриlащ.●

●Уи lэшхылъэ нэбдзыфlэмэ, унэфl япхъу къыуатынщ.●

●Уипщ хьэхуэгъу-щыхуэгъу умыщl.●

●Улlэу упсэурэ нэхърэ, утхъэу урелlэ.●

●Урыс тхьэмыщкlэ и кхъуэлу зэрегъэзахуэ.●

●Факъырэ пэщмэн.(Тхьэмыщкlэ пагэм хужаlэу щытащ.)●

●Хабзэр сщэ щхьэкlэ, ирабзэр сlэщэлъкъым.●

●Хъанхэ я щlыб джатэ щагъэдалъэ.●

●Хьэзабыр хьэмбытlу ешэч.●

●Цlэ бжьакъуэм фlэсщ.●

●Щхьэ къуийм и лажьэ щхьэ псэум ищэркъым.

lэгу нэщl lэщl джафэщ.●

...................
Giriş     1.Bölüm     2.Bölüm     3.Bölüm     4.Bölüm    
5.Bölüm     6.Bölüm     7.Bölüm     8.Bölüm     9.Bölüm
...................