...................
...................
ADİGE ATASÖZLERİ  -5
5
. Bölüm / Еянэ Пычыгъуэ
lУЭХУГЪУЭ ЗЭМЫЛlЭУЖЬЫГЪУЭХЭМ ЯТЕПСЭЛЪЫХЬ, КЪИНЭМЫЩl ПСАЛЪЭЖЬХЭР

КЪЭРДЭНГЪУЩI Зырамыкущ
Hazırlayan, Tercüme eden: KHUMIKH Vehbi Kovulmaz

                         
...................
...................

●Абы бгым зышидзыжмэ, уэ вийкlэ увэну?

(Умыфыгъуэ, умыижэ, жыхуиlэщ.)●

Адыгэ мыгъуэ, щыгъурэ пастэрэ.●

Адыгэм хьэщlэ и щlасэщ.●

Адыгэ нэмыс, урыс насып.●

Адрыщlым ущlэдэумэ, мыдрыщlыр къыплъысынщ.●

Акъыл зиlэм шыlэ иlэщ.●

Акъыл зиlэр си щlыб ису къезухьэкl.●

Акъылым уасэ иlэкъым, гъэсэныгъэм гъунэ иlэкъым.●

Акъылыр лэндыщэщ, гъэсэныгъэр дыщэ жыгщ.

(Лэндыщэдыщэ зэрылэ)●

Анэм «сипхъу закъуэ и псэ» щыжиlэм, пхъуми

«си псэ» жиlэу хуежьащ.●

Анэмэтым хъейрэт ухуэмыхъу. (Дзыхь къыхуащlу къыпэщlалъхьэм уемынэцlыж, жыхуиlэщ. Хъейрэтепцlыжыныгъэ, енэцlыжыныгъэ)●

Ахъшэр шэ бжыгъуэщ.●

Бажэм и кlэр пlыгъыу тепыхьэ. (И кlэр зэрыпlыгъыу пlэщlэкlыжынкlэ хъунущ, жыхуиlэщ.)●

Бажэм сишх нэхърэ дыгъужьым срешх.●

Банэ хуэдэ зэхэплъхьэр данэ хуэдэу зэхэпхыжынщи, данэ хуэдэ зэхэплъхьэр банэ хуэдэу зэхэпхыжынщ.●

Банэ хуэдэу къэщтэж, данэ хуэдэу гъэтlылъыж.●

Бэдж пэтрэ lэужь трах.●

Бгъащхъуэ гущхуар, жьындум жьэхэхуэри ишхащ.●

Бгъэр куэдрэ уэмэ, и дамэр мэкъутэ.●

Бгъэям куэдрэ укlэлъымыгъыж.●

Бгъуэ егъапщи зэ пыупщl.●

Бжэщхьэlум нэмыс хьэдрыхэ иоlус.●

Бжызоlэ, сипхъу, зэхэщlыкl, си нысэ.●

Бзаджэ къэзылъху и гуэн лъапэ щlетlэж.●

Бзаджэ пщlауэ фlы ущымыгугъ.●

Бзаджэм уи кlэ иубыдмэ, уи анэ мыгъуэ хъунщ.●

Бзылъхугъэ пшэрыхь хущанэ.●

Бзуущхуэм бзу цlыкlур пэкlэцlыну щыхуежьэмзэlытхъащ.●

Биижь умыгъэблагъи, уи адэ и благъэжь умыбгынэ.●

Бийм ущысхьмэ, уlэгъэ ухъунщ.●

Блэкlа хэбзэжьым укъемыкъуж.●

Блэр «пlыщlащ» жыпlэу уи гуфlакlэм думыгъэтlысхьэ.●

Быдэ и анэ гъыркъым.●

Бысымыр хьэщlэм и lуэхутхьэбзащlэщ.●

Гуащэ мыхъу жьантакlуэщ.●

Гуащэр гъэрмэ, мэзабзэ, хъыджэбзыр дэсмэ, мэутхъуэ.●

Губгъуэм ущымыкъэрабгъэ, унэм ущымылlыхъужь.●

Гугъэ нэпцlыр щхьэгъэпцlэжщ.●

Гужьеигъуафlэунэхъугъуафlэщ.●

Гузэвэхыр щlэх жьы мэхъу.●

Гунэс ямыщl саугъэт умыщl.●

Гупсыси псалъэ, зыплъыхи тlыс.●

Гур кlуэдмэ, лъэр щlэкыркъым.●

Гур кlуэдмэ, шыр жэркъым.●

Гушхуэ тхьэшхуэ и жагъуэщ.●

Гъэузи гъэхъуж.●

Гъуэмылэпэм еlэзэ, гъуэмылэкlэм езауэ.●

Гъунэгъу бий ящlыркъым.●

Гъусэ ямыщlынум блэкlрэ пэт йоджэ.●

Дахэ и щlагъ дыщэ щlэлъщ.●

Дахэр пагэмэ, пуд мэхъу.●

Дауэкlейм дэгу уещlри, плъэкlейм нэф уещl.●

Дэтхэнэ зы lуэхутхьэбзэми бзыпхъэ иlэщ.●

Делэм сэ сыфlокl, губзыгъэр езыр къысфlокl.●

Дыгъуэм икlэр мыгъуэ мэхъу.●

Дыгъужь мэлыхъуэ ящlрэ?●

Джэд пасэрэ бын пасэрэ.●

Джэджьей зеуалэ псывэ хоупlэ.●

Джэду щысу шыпсэ умыlуатэ.●

Дзей хуэщlэ фlыщlэ хэлъкъым.●

Дзы зыфlэпщ дзы къыпфlещыж.●

Дзыхьмыщlыр дзыхьщlыгъуэджэщ.●

Е пщlауэ фlы ущымыгугъ, фlы пщlами ущlэмыфыгъуж.●

Е улlын, е улlэн.●

Егъэлей делагъэщ.●

Еса сэгъейщ.●

Еущий зы махуэщ, хабзэ хьэху махуищщ.●

Жэмрэ вырэ зэхуотэдж.●

Жейрэ лlарэ зэхуэдэщ.●

Жыжьэу бгъэтlылъыр благъэу къощтэж.●

Жьэ лlыкlуэ нэхърэ щхьэ лlыкlуэ.●

Жьэшхуэ тхьэшхуэ и жагъуэщ.●

Зэрыпщlу мыхъумэ, зэрыхъуу щlы.●

Зэхуэгъафlэ зэфlэкlуэд къыхокl.●

Зэщыгугъ мэунэхъу.●

Зекlуэкlейм лъашэ уещlри дыхьэшхыкlейм lушэ уещl.●

Зи бзэ lэф щынэр мэлитl ящlоф.●

Зи бзэ lэфlым блэр гъуэмбым къреш.●

Зи бысым зыхъуэжым чыцlыхъу хуаукl.●

Зи жьэ зэумыщlэм я гухэлъ зэрыщlэркъым.●

Зи щхьэ мыузым уи щхьэуз хуумыlllуатэ.●

Зи lыхьэ зыфlэмащlэм хьэм фlешх.●

Зи lуэ ит нэхърэ зи щхьэ ит.●

Зы жьэм жьэдыхьэр жьищэм жьэдохьэ.●

Зы махуаем зумыгъэлl, зы махуэлlым зумыгъашэ, зы дзэшхуэм зумыгъэхь.●

Зызыгъэгусэ lыхьэншэщ.●

Зым ищlэр щэхущи, тlум ящlэр нахуэщ.●

Зыщытхъур къэгъани яубыр къашэ.●

Зыщlэпхьым къыпщlехьыж. (Пщlэ зыхуэпщlым къыпхуещlыж, жыхуиlэщ.)●

Зыlурыдзэ нэхърэ зыдэдзых. (Бгъуэтыр зэуэ зыlурыбдзэ нэхърэ гъэтlылъыгъэ щlы, жыхуиlэщ.)●

Имылъ къолъэт. (Фочыр нэщlщ жыпlэу уримыджэгу, узэдауэ къыщlэкlыу щlэщхъу къызэрыпщыщlын пщlэнукъым, жыхуиlэщ.)●

Ин жыlэ цlыкlу lуатэщ.●

Иужь акъыл нэхърэ ипэ акъыл.●

Кlуэд къыубжмэ, уи тхьэмадэжь и цlэри къыхэхуэнщ.●

Къакlуэ и lыхьэ lыхьэхэмыlуэщ.●

Къан хуэщlэ фlыщlэ иlэкъым.●

Къэмыс-нэмыс тlысыпlэщэкъущ.●

Къоджэ нэхъыжьщ.●

Къоуэм уемыуэжмэ, lэ пфlэту укъищlэркъым.●

Къыдыхьэр думыхуж, дэкlыжыр умыубыд.●

Къыпкlэлъымыкlуэм узыкlэлъигъэкlуэнукъым.●

Къыпlтекlуэ лъэщщ.●

Къыпlтекlуэр гугъущ.●

Къуэфlми къуэ бзаджэми адэ щlэин ухуэмылъыхъуэ.●

Къуэшрокъуэр пlащlэри унакъым.●

Кlапсэр кlыхьмэ, фlыщlи, псалъэр кlэщlмэ, нэхъыфlыжщ.●

Кlэпlейкэр зымылъытэр кlэпlейкlэ и уасэкъым.●

Лажьэ жьы хъуркъым. (Лажьэгукъеуэ, нэщхъеягъуэ.)●

Лъакъуэ псынщlэ вейхэпкlэщ.●

Лъапэкlэ хыфlэбдзэр дзапэкlэ къощтэж.●

Лlэным лlыгъэ хэлъщ.●

Лlы здашэ щlэупщlэркъым.●

Лlы и псалъэ епцlыжыркъым.●

Лlы пхам лlы еуэркъым.●

Лlы псори лlыкъыми фыз псори фызкъым.●

Лlы хахуэр утыкум щощабэ, лlы щабэр утыкум щокlий.●

Лlым зигъэгусэркъым.●

Лlыгъэр lыхьэмыгъуэшlщ.●

Лlыкlуэ яукlыркъым.●

Лlыфlыр бэ дыдэщи, лlыфl дыдэр зырызщ.●

Лlыхъужь и лъэужь кlуэдыркъым. (И цlэр, игъэхъахэр къонэж, жыхуиlэщ.)●

Лlыхъур фыз дэубзэщи, лlыбзыр фыз дэуейщ.●

Мафlэ нэхур «благъэщ» жыпlэу умыкlуэ, хьэ банэ макъыр «жыжьэщ» жыпlэу къыумыгъанэ.●

Мащэм зэ ихуар набгъэщи, тlэу ихуар нэфщ.●

Мащэм зытезыгъэгусэм, куэдри фlыщэ ищынкъым.●

Мэзрэ мазэххэрэ уи щэху щумыlуатэ.●

Мэкъу мащlи къыумыхь, мэкъу бэхьи умыхъу.●

Мыщафэ lэрымылъхьэм гуащэр щумыгъэгугъ, гъусэ мыхъунум ущыгугъыу мыщэм уемыбэн.●

Мыщащхьэ плъагъуу мыщэ лъэужь умылъыхъуэ.●

Мыщэ жея къыумыгъэуш, лlы мышынэ умыгъэгубжь.●

Нэ зыдэщымыплъэрэ тхьэкlумэ зыщымыдаlуэрэ, бэн зэвыр мыхъумэ, щыlэкъым.●

Нэгъуэщlым ишхамкlэ уэ укъэмыкъей.●

Нэгъуэщlым и щытхъум уэ уримыкъей.

(Уримыкъейуримыпагэ.)●

Нэмыс здэщымыlэм насыпи щыlэкъым.●

Нэмыс пщlымэ уи щхьэщ зыхуэпщlыжыр.●

Нэмысыншэр насыпыншэщ.●

Нэпсейр насыпыншэщ.●

Нэрылъагъу щытхъур щlыбагъырыубщ.●

Нэфlэгуфlэ и нэ дыщэ lуэнтlа щlэлъщ.●

Нэхъыжь теlущlыкlыпlэщ.●

Нэхъыжьым жьэ ет, нэхъыщlэм гъуэгу ет.●

Нэхъыщlитым яхэди я нэхъыфlыр къыхэх.●

Ныбэ ей щыlэ мыхъумэ, шхын ей щыlэкъым.●

Ныбэм «уи адэ жьакlэ къыпыупщlи къилъхьэ» жеlэ.

(Ныбэм уедаlуэмэ, емыкlу къыуигъэхьынущ, жыхуиlэщ.)●

Ныбэр фэ цlынэ-лы цlынэщи зэlуокl. (Куэд иплъхьэ хъуну щхьэкlэ, иумылъхьэ, жыхуиlэщ.)●

Ныбэрыдзэ нэхърэ щхьэдэдзых. (Гъэтlылъыгъэ щlы, жыхуиlэщ.)●

Ныкъуэдыкъуэ нэхърэ уэдыкъуа.●

Нысэ мыхъунур жьантажэ мэхъури, мафlэ мыхъунур ищхьэм щолыд.●

Пагэм и блыпкъ-блащхьэ къутэгъуафlэщ.●

Пащlэгъэлыгъуэ джэгу хэлъкъым.●

Псалъэ бзаджэ губзаджэщlщ, гурыщхъуэ щlыныр хуэмыхугъэщ.●

Псалъэ щабэ гущабэщlщ.●

Псалъэ lэфlыр мэгущlэри, псалъэ дыджыр мэщlытэ.●

Псапэ куэд хъуркъым.●

Псэр ящэри напэ къащэху.●

Псы икlыгъуэм унэмысу уи кlэ умыlэт.●

Псылъэншэу Къурей ихьэркъым. (КъурейКавказ лъапэм щыlэ губгъуэшхуэ гуэрым и цlэщ.)●

Пфlэкlуэдам щхьэкlэ умыгъ, къэбгъуэтам щхьэкlэ умыгуфlэ.●

Пхуэмыдэ пэшэгъум мыгъуэ уохъулlэ.●

Пхуэмыфащэ пэшэгъу пщlымэ, уи анэ мыгъуэ ищlынщ.●

Пхуэмыфащэ щауэгъу умыщl.●

Пцlищэ нэхърэ зы пэж.●

Пщащэр пагэмэ, ябгынэж.●

Сэлам лей хъуркъым.●

Судым шыфэ псэу иплъхьэмэ, вакъапхъэ къипхыжыркъым.●

Уэшх блэкlам щlакlуэ кlэлъумыщтэж.●

Удафэ и акъыл ирефыж.●

Удын гуауэр мэгъущри, псалъэ гуауэр гъущыжкъым.●

Ужьмэ, жьы хуэдэ щыти, ущlэмэ, щlэ хуэдэ щыт.●

Узэпэгэкlыр къопэгэкlыж.●

Узэралъагъуу уафlощl, узэрафlэщlу уалъытэ.●

Узрихьэлэ шхыныфlщ.●

Узэрымыса бысым умыуб.●

Узэрымытым зумыгъэфlыкl.●

Узэчэнджэщын умыгъуэтмэ, уи пыlэ гъэтlыси ечэнджэщыж.●

Узэщэ нэхърэ узэтэ.●

Узигъусэм и фэ къыуаплъ.●

Узыгъэтlыс уиубыжыркъым.●

Узыдэмыкlуэжын ущыщымыуэ. (А зэм узэралъэгъуам хуэдэу ущыту уафlэщlынущ, жыхуиlэщ.)●

Узыдэмыхьэ къуэладжэ лы дэзщ.●

Узытекlуэм пэкlум уахегъэн. (Фащэм, щыгъыным щысхьын хуейщ, иужькlи цlыхум уарихыхьэн щхьэкlэ, жыхуиlэщ.)●

Узытелlэ нэхърэ къыптелlэ.●

Узыхэдэн щымыlэмэ, щыlэр къыхэх.●

Узыхэтым уаймыкlумэ, уи унэ умыкlуэж.●

Узыхэфыжыну псым ухэмыубжьытхэ.●

Узыщымыгугъын ущыгугъмэ, пхъащэ гъуэгу урижэнщ. (Гугъу уехьынщ, жыхуиlэщ.)●

Узыщымысхьри уимыlэххэри зэхуэдэщ.●

Уи адэ-анэ яхуэпщl нэмысыр уи бынми къыпхуащlыжынщ.●

Уи анэ зыуб уи щхьэ дэгъэсыс. (Пэж жызыlэм дыжыlэ, жыхуиlэщ.)●

Уи анэ къобэнми зромыгъэуд.●

Уи гуащэ еплъи уи лъэ гъэбакъуэ.●

Уи гур зыхуеlэм уи lэр лъоlэс.●

Уи гъунэгъур бзаджэмэ, щlы хущынэ.●

Уи ин жиlэнщ, уи цlыкlу иlуэтэжынщ.●

Уи мыгъусэ уи лъатэпс иумыгъапхэ.●

Уи мыщауэгъу гъусэ умыщl.●

Уи напщlэ темылъ тумылъхьэ.●

Уи нэ гъаплъи уи лъэ гъэув.●

Уи псалъэ гъэlэси, уи нэмыс гъэбыдэ.●

Уи тепlэн еплъи, уи лъэ укъуэдий.●

Уи фlым иумытыр мафlэм уфlес.●

Уи шхын нэхърэ уи нэщхъ.●

Уи шым ижынур пщlэжын хуейщ.●

Уи щхьэ мыузу боз иумышэкl.●

Уи щхьэ хуэпщlыжыр уи нэмысщ.●

Уи щхьэ хъумэ, си хъыджэбз.●

Уи lыхьэ зыlэрыгъэхьи, итlанэ зыгъэгусэ.●

Укъызэрашэ уи шыбэщ, узэралъагъу уи гъуэгущ.

(Япэ зэрызыбгъэлъагъуэщ, жыхуиlэщ.)●

Укъыщалъхум псори гуфlащ, ущылъэжкlэ зыхуэбгъагъыжыфмэ.●

Умыгъэтlылъ къэпщтэжыркъым.●

Умыщlэм ущlэупщlэныр емыкlукъым.●

Унэм зыщыгъаси хасэм яхыхьэ.●

Упащlэмэ, уогувэ.●

Упщlэ щlэщхъуркъым, щlэщхъу щlэнэркъым.●

Упщlэ lупщlэ хэлъкъым.●

Ущакlуэ хэхърэ утакъуэ. (Имыуасэкlэ пуду пщэ нэхърэ, птымэ нэхъыфlщ, жыхуиlэщ.)●

Ущымытхъущэ пхуэубыдыжынкъым.●

Фадэм текlуа щыlэкъым.●

Фlы зыщlэ упщlэжрэ?●

Фlыр умыцlыхумэ, нэхъ лъапlэр къыхэх.●

Хабзэ лъэlукъыми, lумахуэ lуэхутхьэбзэкъым.●

Хабзэм къемызэгъыр и бийщ.●

Хабзэмыщlэ емыкlухьщ.●

Хабзэмыщlэ щыкlейщ.●

Хабзэр убзэ зыфlэщlым хуэпщlэнум и ныкъуэр къегъанэ.●

Хабзэр убзэнкъым, къалэныр lулъхьэнкъым.●

Хэдэ мэдакъуэри хэпхъуэ lыхьэфlэщ.●

Хэдэ мэдакъуэри хэплъэ мэплъакъуэ.●

Хэдэ мэдэхъу.●

Хэплъыхь lыхьэншэщ.●

Хъуэхъукlэ узэхыхьэу, хъуэнкlэ узэхэмыкlыж.●

Хьэ хей умыукl, фыз хей иумыгъэкlыж.●

Хьэдэр куэдрэ зепхьэмэ, мэ щоу, lуэхур куэдрэ зепхьэмэ, мэлъахъэ.●

Хьэджафэ банэркъым, лъхукъуэщо хъуанэркъым.●

Хьэфl дэплъейр хьэфl мэхъури, шыфl дэплъейр шыфl мэхъу.●

Хьэху хьэху тыж умыщl.●

Хьэху яхь щыlэщи, хьэху хьыж щыlэкъым.●

Хьэхурэ щыхуэрэ зэlахыу хабзэжьщ.●

Хьэщlапэрынэр емыкlущ.●

Хьэщlэ гъунэгъу нэхърэ хьэщlэ жыжьэ нэхъ лъапlэщ.●

Хьэщlэ къашэ щыlэщи хьэщlэ ишыж щыlэкъым.●

Хьэщlэ лей щыlэкъым.●

Хьэщlэ щlалэ щыlэкъым.●

Цlыхум и цlэр езым зыфlещыж. (Цlыхум и дуней тетыкlэм хуэдафэ къраплъ, жыхуиlэщ.)●

●Цlыхуфl и тхьэкlумэ дэгущ.●

●Чэнджащэ щыуэркъым.●

●Шэрэ лъырэ зэхакlэркъым.●

●Шэхур хуабэу яхуз, фызыр щlалэу ягъасэ.●

●Шу хьэщlэр ягъэшэсыж, лъэс хьэщlэр пщlантlэм дашыж.●

●Шхын нэхърэ шхалъэ.●

●Шыгъупlастэм уемылъэпауэ.●

●Шыдыр удафэмэ, тало мэхъу.●

●Шым еуи дыхьэ, елъэдэкъауи къыдэкlыж.●

●Шыр птымэ, шхуэри дэщlыгъу.●

●Шыуаным илъыр зымышхыжынур гуэным илъым тогужьеикl.●

●Шыцуэс къесу узэрысым уимыкl.●

●Щакlуэ кlуэгъуэм хьэв япlыркъым, гузэвэгъуэм къан къахьыркъым.●

●Щауэр зыгъэщауэр гуащэщи, гуащэр зэрыгуащэр и щэнщ.●

●Щхьэкlуэ зышх щхьэшхыгъуэ йохуэ.●

●Щхьэр къэхь, жаlэмэ, пыlэр къахь.●

●Щхьэр псэумэ, пыlэ шыщlэркъым.●

●Щыгъынибгъу нэхърэ теубгъуэн. (Щыгъын куэд уиlэ нэхърэ тепlэнщlэлъын, жыхуиlэщ.)●

●Щыжаlэм щыпаупщlыркъым.●

●Щыкlыр икlэ мэхъу.●

●Щымыуэ и щыуагъэ яшхыркъым.●

●Щытхъукlей нэхърэ убыкlафlэ.●

●Щыщlэ нэхърэ мащlэшх.●

●Щlакlуэ нэхърэ уэшх нэхъ благъэщ.●

●Щlалlэгъуэр щхьэгъэрытщ. (Ущlалэху уlуэхутхьэбзащlэщ, жыхуиlэщ.)●

●Щlэ ягъэущ щхьэкlэ, жьы яущиижрэ?●

●Щlэм дежьи жьым дэшхэ.●

●Ямыгъэпсэлъэлl яукlыркъым.●

●Япэ джэлам ущlэмынакlэ.●

●Япэ лlар япэ ирах.●

●Япэ лlэм джэбыныр ейщ.●

lэщми псэ lутщ. (Гущlэгъу хуэщl, жыхуиlэщ.)●

lуэхухутэ ялlыркъым, лlыкlуэ яукlыркъым.●

lуэхутхьэбзэри щlыхуэщ.●

...................
Giriş     1.Bölüm     2.Bölüm     3.Bölüm     4.Bölüm    
5.Bölüm     6.Bölüm     7.Bölüm     8.Bölüm     9.Bölüm
...................