...................
...................
ADİGE ATASÖZLERİ  -9
9. Bölüm / Еянэ Пычыгъуэ
lУЭХУГЪУЭ ЗЭМЫЛlЭУЖЬЫГЪУЭХЭМ ЯТЕПСЭЛЪЫХЬ, КЪИНЭМЫЩl ПСАЛЪЭЖЬХЭР

КЪЭРДЭНГЪУЩI Зырамыкущ
Hazırlayan, Tercüme eden: KHUMIKH Vehbi Kovulmaz

                         
...................
...................

●Абы нэхъ лажьэ акъужьым къимыхькlэ.●
●Адакъэщlэрэ хущlэ пастэрэ.●
●Адыгэ хабзэр адэ щlэиныжьщ.●
●Адыгэр вакъэ лъэныкъуэу шхэркъым, шхэурэ уэрэд жиlэркъым.●
●Анэ дэкlуэрэ лlы дэкlуасэрэ. (Тlуми емыкlу пылъкъым, жыхуиlэщ.)●
●Анэ зимыlэм гуlэр и махуэщ.●
●Анэ зимыlэ сабийр, адэ иlэми, ибафэщ.●
●Анэр нэщи, адэр лъэпкъщ.●
●Анэгукlэ къеlэри, анэlэкlэ къитри къызитам къысхуищlащ.●
●Анэнэпэсыр уэсым нэхърэ нэхъ щlыlэщ, зэзым нэхърэ нэхъ дыджщ.●
●Анэнэпlэсрэ гупкlэ тlысыпlэрэ.●
●Анэр бын гъэкlуэдщ. (Быным сысхьурэ, еубзэурэ егъэсэхъу, жыхуиlэщ.)●
●Анэ шыпхъу анэ палъэщи, адэ къуэш адэ палъэщ.●
●Балагъыкlыр зыlыгъым хьэ къарибгъу щогугъ.●
●Биижь благъэ хъуркъым, благъэжь бий хъуркъым.●
●Благъэ жыжьэ нэхърэ гъунэгъуфl.●
●Благъэ хъумэнрэ ху хъумэнрэ зэхуэдэщ. (Тlури хъумэгъуейщ, lыгъыгъуейщ, жыхуиlэщ.)●
●Благъэжьрэ дыжьыныжьрэ.●
●Быдзышэр хьэкхъуафэм иракlэркъым. Быдзышэм нэмыс иlэн хуейщ, жыхуиlэщ.)●
●Былым къыпщlын нэхърэ быныфl къыпщlын.●
●Бын зэхэдзэрэ удын зэхэдзэрэ.●
●Бын зимыlэр щlолlэ, зиlэр йолlалlэ.●
●Бын тlуащlэ лlы гу хэщlщ, бын щащlэ лlы фэ техщ.●
●Быныр нэм и хъуахуэщ.●
●Бысым гуащэщlэ хьэщlэ и щlасэщ.●
●Гуащэм и хабзэр нысэм и бзыпхъэщ.●
●Гуащэр гъуммэ, шхэрейщи, нысэр кlэнтlмэ, шхын щlэлlэщ.●
●Гъатхэ дыгъэ си нысэ типси, бжьыхьэ дыгъэ сипхъу типсэ.●
●Гъунэгъур унэгъущ, къигъунэгъужыр гъунэгъущ.●
●Гъунэгъурэ гъуэншэджрэ●
●Гъунэгъуфl – къуэшыфl палъэщ.●
●Дадэм щlыгъур нанэщи, нанэм щlыгъур дадэщ.●
●Дэлъхум и lыхьэр шыпхъум ехь,(Шыпхъур и дыщым къэкlуэжыху, дэлъхум и lыхьэм щыщ ехь, жыхуиlэщ.)●
●Дэlэбеи ет, еlэбыхи къашэ.●
●Делэ благъэ нэхърэ губзыгъэ бий.●
●Делитl зэгуэгъущ, тlуанитl зэегъущ.●
●Дыгъэ нэпс нэхърэ анэ бгъафэ.●
●Драхьеймэ, мэгъущlэ, кърахьэхмэ, мэщlытэ.●
●Дыщ мэжаджэ lэфlщ.●
●Джанэ нэхърэ гъуэншэдж нэхъ благъэщ.●
●Джэд хуэдэ, быныфlэщ●
●Джэдумрэ фызымрэ унэгуащэщи, хьэмрэ лlымрэ ныбгъуащэщ.●
●Еблагъэ зи бэм и бын мэжалlэркъым.●
●Егъур гъуэтыгъуафlэщ, благъэр гъуэтыгъуейщ.●
●Етlуанэлlрэ lулlэlуданэрэ.●
●Жагъуэгъурэ щlасэгъурэ зимыlэ щыlэкъым.●
●Жагъуэлlрэ лlэныгъэрэ.●
●Жэм лъакъуэ шкlэ иукlрэ?●
●Жьы зэрымысым нэмыс илъкъым, щlэ зэрымысым насып илъкъым.●
●Закъуэныгъэ нэхърэ lэл къыбдис.●
●Зэдэшхэ lэфlщи зэдэфl унэщ.●
●Зэкъуэш псори зы анэм къилъхуркъым.●
●Зэкъуэшитl зэкъуэщтыжыркъым. (Зэкъуэщтыжыркъым – щтэуэ зыр зым хыфlидзэркъым.)●
●Зэкъуэшитlрэ дзитl зыlутрэ.●
●Зэлlзэфыз я псэ зы чысэ илъщ.●
●Зэхэкlыр губжьым къыхокl.●
●Зэхуэдитlыр къызэдофэри джэду хьэжы зыкъещl.●
●Зэхуэфащэ зэщауэгъущ.●
●Зегъэуби уи бын пlыж.●
●Зи адэ лlар ибэ ныкъуэщ, зи анэ лlар ибэ хъурейщ.●
●И бын гуlущlэу зыгъасэм и нэпскlэ епшыныж.●
●Зи щхьэ уи унэ исым и псэ уи унэ илъщ.●
●Зилl lэмбатэм и фыз куэтэрамэщ. (Зилl мыкlуэмытэм и фызри апхуэдэщ, жыхуиlэщ.)●
●Зы бын зиlэми бынищэ зиlэми зэхуэдэу ялъагъу.●
●Зи унэ и хьэдэ зы унэ итlысэркъым.●
●Зы хьэщlэм зы хьэщlэ и жагъуэщи хьэщlитlыр бысымым и жагъуэщ.●
●Зыпс ираш зэшыпхъущ.●
●И анэр гупсэщ, и адэ псоущ. (Къэзылъхуахэр узыншэщ, псоущ, насып иlэщ, жыхуиlэщ.)●
●И анэ еплъи ипхъу къашэ.●
●И адэ еплъи и къуэ дэкlуэ.●
●И нэм и джабэхъщ, и псэм къыпатхъащ.●
●И нэм и нэхущ, и псэм и хъуахуэщ. (Мы псалъитlми : фlы дыдэу елъагъу, жыхуиlэщ.) ●
●И уанэ трилъхьэмэ, игу ирилъхьэжащ. (Щхьэ закъуэу, бынунэ зимыlэу псоум хужаlэ.)●
●И щхьэ закъуэ и лъакъуитlщ.●
●Игу къобгъэну анэкъилъху нэхъ бзаджэщ●
●Имылъагъумэ, щlолlэ, илъагъумэ, йолlыкl.●
●Имысрэ сымаджэрэ lыхьэншэщ.●
●Къакуэ псори благъэщ.●
●Къакlуэхэ я унэщ.●
●Къалъхур ирегъашэ, къашэр егъэнысэ.●
●Къантешэ нэхърэ къаншэж.●
●Къапшэ хъунущ, хуэпшиин уиlэмэ.●
●Къэдаlуэ, си хъыджэбз, зэхэщlыкl, си нысэ.●
●Къэзылъхуар мэупlэри зымыпlам хуолажьэ. (Хъыджэбзыр зыщэлъхуа унагъуэм йокlри зыдэкlуам яхуолажэ, жыхуиlэщ.)●
●Къэзышагъащlэм щlакlуэщlэрэ кlуэкlэщlэрэ къещтэ.●
●Къэсшэн согъуэт, сымыгъуэтыр къыздэкlуэнщ.●
●Къомыгъуэжынур, къомыщэжынур уи анэрэ уи нитlрэщ.●
●Кърум шыр имыlэмэ, зы бзущ.●
●Къужэ дэз lыхьлы нэхърэ жылэ и зырыз благъэ.●
●Къуажэ ив нэхърэ къуажэ и благъэ.●
●Къуаргърэ пэт, и шырым «хужь цlыкlукlэ» йоджэ.●
●Къуэ бзаджэм адэм хъуэн къыхуехь, пхъу бзаджэм анэм хъуэн къыхуехь.●
●Къуэ бзаджэм яжьэм ухегъэс, пхъу бзаджэм хасэ урехьэ.●
●Къуэ закъуэрэ нэ закъуэрэ.●
●Къуэ зимыlэ адэр нысэлъыхъу ежьэркъым.●
●Къуэ пцlыупс зиlэ и анэ гуфlэ щыщlэркъым.●
●Къуэ уиlэмэ, нысэ уиlэщ.●
●Къуэм и нэр нэфми, анэм псэууэ елъагъу.●
●Къуэм и псэр анэм и псэфылъэщ.●
●Къуэм уилlынщ, лlым уипlынщ.●
●Къуэр напщlэщ, пхъур набдзэщ.●
●Къуэр унэм и пкъощ, пхъур унэм и щlэращlэщ.●
●Къуэрагъыр ираупсеящ. (Къэшэгъуэ, дэкуэгъуэ чэзур зылъыса щlалэм е хъыджэбзым хужаlэ.)●
●Къуэфl и анэ гуфlэ щигъащlэркъым.●
●Къуэш егъу нэхърэ ныбжьэгъуфl.●
●Къуэш зимыlэм башым lэплlэ ирешэкl.●
●Къуэш и щlэеин къуэш ехьыж.●
●Къуэш лей щыlэкъым.●
●Къуэш – шыпхъур хы къумиблым къыкъокl.●
●Къуэшым я нэхъ жагъуэгъумрэ щауэгъум я нэхъ щlасэмрэ зэхуэдэщ.●
●Къуэшыншэ щlэупщlакlуэншэщ.●
●Къуэшыр зыщыбэм бэныр щыбыхъущ.●
●Лъагъуныгъэ зыхуэпщlым гущlэр къегъэхъей.●
●Лъагъуныгъэ зыщlам лъагъукlэ ищlэжыркъым.●
●Лъхурыкlуэд – лъхурыщlэхщ.●
●Лlакъуэр зыщыбэм быныр щыхейщ●
●Лlы гурымыкъыр фыз гъагъщи, лlым и гъринэр гуемыlущ.●
●Лlы жьей фызгъэгъущ●
●Лlы зэрымыс унэр сабафэщ.●
●Лlы и фыз трахрэ?●
●Лlы хьэщlэ нэхърэ фыз хьэщlэ.●
●Лlы щепткlэ умыгъ, кърагъэкlыжмэ, гъей.●
●Лlыгъуабэм быныр ирепхъыхь, фызабэм быныр къещыпыж.●
●Лlым и узыншагъэр фызым и фlыгъэщ.●
●Лlымрэ фызымрэ зэхуагъэувыр я хабзэщ.●
●Лlырэ фызрэ мащэ тlа яку дэлъщ.●
●Малъхъэр хъумэ, къанщ, мыхъумэ, шыдщ.●
●Малъхъэщ, жыпlэу унэгъу умыщl, щlалэщ жыпlэу къебгъэшэн къыумыгъанэ.●
●Махуаем бгъуэтыжыр ныбжьэгъущи, уи хьэмтетыгъуэм бгъуэтыр уи шхэгъущ.●
●Мэлищэ нэхърэ щуlэгъэфl.●
●Мыгъуэр зи мыгъуэр анэрщ.●
●Насыпыр фызым къыдокlуэ.●
●Нэгум щlэтыр нэм хуэдэщ.●
●Нэм псэр и фыгъуэгъущ.●
●Нэм псэр зыщlешэ, гум гур къреджэ.●
●Нэм пэжыжьэми гум пэблагъэщ.●
●Нэхъыщlэ нэхъ щlасэщ.●
●«Нэчыхьым сигу щыкlащ», жиlащ куэдрэ яшэурэ кърагъэкlыжа пасэрей пхъужьым.●
●Ныбжьэгъум занщlэу къыбжиlэнщ, бийм уи щыбкlэ щигъэlунщ.●
●Ныбжьэгъум ягъэпуда лlыр фызыфlым къыдехыж.●
●Ныбжьэгъур бгъэунэхунумэ, хуитыныгъэ ет.●
●Ныбжьэгъур уи нэгу къыщlоплъэ, жагъуэгур уи лъакъуэ йоплъых.●
●Ныбжьэгъур щагъэунэхур махуейщ.●
●Ныбжьреилl щыlэкъыми ныбжьрей дыщ щыlэщ.●
●Нысэ унэгъу тlуанэгъуейщ.●
●Нысэ lейм унафэр унэм ирех.●
●Нысэгъукъуэ нэхърэ тlуанэ къуибгъу.●
●Нысэм зэхихыу уи пхъум еущие.●
●Нысэм уеубзэмэ, данэ убзэ къыуитынщ.●
●Нысэр фlыщ, жыпlэу цlэ фlумыщ, и цlэр езым зыфlищыжынщ.●
●Псэр зэхъуапсэр дахэщ.●
●Псым икl пэтрэ я кlэ зэнтlэlуащ. (lыхьлыгъэ зэхуаlэкъым, жыхуиlэщ.)●
●Пфlэмащlэр хьэщlэ lусщ. (Шхыным ущысхьмэ, хьэщlэ шхын мэхъу, жыхуиlэщ,)●
●Пхъур зэрыбгъасэщ, нысэр зэресащ.●
●Пхъур хамэ бынщ.●
●Пхъурылъхур пкlэм думыгъэплъей. (Куэдрэ пумыгъаплъэу lэнэ къыхуэщтэ, жыхуиlэщ.) ●
●Пхъурылъхур къихьэмэ, псатхъэр магъ.●
●Пхъурылъхурэ къанрэ зэхуэдэщ.●
●Пцlырыпыхьэ щlэинхьыж.●
●Пщащэр дэгъуэмэ, гъунэгъур и фызщэгъущ.
(И фызщэгъущ – фызу ешэ, жыхуиlэщ.)●
●Пщащэр унэ гуащэмэ, кхъуейхьэбыкъуэ ешх.●
●Пlэщхьагъей уиlэу хьэдагъэ умыкlуэ.●
●Сабий зэрымысым насып илъкъым.●
●Сабий зимыlэм имыlэlауэ къыщохъу.●
●Сабий щlэхъупсым гущэпс ед.●
●Сабийр зыгъашхэр и анэщ.●
●Сабийм и кlэтийр бжыхьыпэм пылъми мэджэгу.●
●Сабийм адэ имыlэжмэ, зеиншэкъым, анэ имыlэжмэ, зеиншэщ.●
●Сэ нэхъыфl умыгъуэтмэ, сыкъэшэж.●
●Си анэм зэрыжиlэу сымыщlу, си фыз зэрыжиlэ тхьэм сищl.●
●Сыкъамыдэми сырадахэщ.●
●Уэ пхуэдэ сещэмэ, щэ иризгъэкъунщ.●
●Узэлъэlу къэгъани къолъэlу къашэ.●
●Узэрымылъагъуу lэф щыlэкъым.●
●Узейм уигъэкъакъэмэ, хамэм къакъэ къыуатынщ.●
●Узыгъэблагъэ гъэблэгъэжи узыгъэбий гъэбииж.●
●Узыукlыр уи бийщи, ущlэзылъхьэжыр уи къуэшщ.●
●Узыхэфыжыну псым хьэ хыумыукlэ, иумыгъэкlыжыну фызым дзы хуумыус.●
●Уи адэр фlамэ, уэ уи щытхъукъым, къуэфl упlамэ, къыпщытхъунщ.●
●Уи анэ и lэ илъым еплъи, уэ уи lэ илъым едзакъэ.●
●Уи анэ зэрымысым дыщасэ умыкlуэ.●
●Уи анэ къимылъхуар уи дэлъхукъым, уи дэлъху къимышари уи нысэкъым.●
●Уи благъэ и унащхьэ плъагъуу ублэмыкl.●
●Уи благъэ къыуитым и дзэ удэмыплъэж.●
●Уи благъэ уемыпэгэкl – уи бийм благъэ хуэхъунщ.●
●Уи бынрэ уи благъэрэ умыбж.●
●Уи гъунэгъу и фэ къыптоуэ.●
●Уи гъунэгъу умыуб, уи благъэщlи ущымытхъу.●
●Уи гъунэгъум къыпхуимыщlэр жыжьэм къыпхуищlэнкъым.●
●Уи гъунэгъур уи гъуапэщ.●
●Уи гъунэгъур уи lэнэгъумэ, уехъулlащ.●
●Уи къуэ уемыубзэ, уи бзи уемыгуауэ.
(Уи бзи – уи бзылъхугъи, жыхуиlэщ.)●
●Уи къуэрэ уи нысэрэ къахуэбублэр къалэнщ.●
●Уи кlуэдыр си кlуэдщ, уи къанэр си къанэщ.●
●Уи напlэ гъэлlи лlы зэгъэгъуэт, унэкур бгъуэтмэ, уи джатэ къих.●
●Уи насып зыхэлъым дыщэхь тепхъуауэ уолъагъу.●
●Уи ныбэ къикlыр уи бынщи, уи лъэуей къелъэри уи джэдщ.●
●Уи нысэ уигу ебгъамэ, уипхъу ешхыдэ.●
●Уи тlуанэ умыуб, уи бын ущымытхъу.●
●Уи фыз къыхуэбублэ и хабзэщ.●
●Уи фыз лlамэ, уи щlэлъэныкъуэр гухуащ.●
●Уи фызрэ уи lэщэрэкlэ хэти дзыхь хуумыщl.●
●Уи фызыр бзаджэмэ, хьэдагъэ умыкlуэ – махуэ къэси уи хьэдагъэщ.●
●Уи фызыр фlымэ, джэгу умыкlуэж – махуэ къэси уи джэгущ.●
●Уи хьэщlэри гъафlэ, уи къуэшри фlыуэ лъагъу.●
●Уи щхьэр зэрыкl нэхърэ уи кlэр зэрылъ.●
●Уи щlалэ зэрыбгъасэщ, уилl зэресащ.●
●Уипхъу зэрысрэ уи нысэ и дыщрэ.●
●Укъэзыукlрэ укъизгъэкlыжрэ.●
●Унагъащlэ гужьеигъуафlэщ.●
●Унагъащlэ хьэщlэхуэфlщ.●
●Унагъу зиlэм унагъуэ и пlалъэ ещlэ.●
●Унагъуэ умыхъуу къуажэ ухъункъым.●
●Унагъуэм гъуанибл иlэщ.●
●Унагъуэм лъакъуибгъу щlэтщ.●
●Унэ зэхэмыбзым си нэрыбз хэкlуадэщ.●
●Унэ зимыlэм унагъуэ иlэкъым.●
●Унэ пхашэ тешэбэщlщ.●
●Унэ фlейм лlыр егъэжь.●
●Унэрыс зы бий нэхърэ унэщlыб биищэ.●
●Унагъуэжьрэ пхъэжь мафlэрэ.●
●Унэкъуэщ хьэщlэ гъэфlэгъуейщ.●
●Унэмыхъу хьэбахъуэщ.●
●Унэнум я хьэ удз ехъури унэхъунум я нысэ мэдыгъуэ.●
●Унэр зейр жьантlакlуэщ.●
●Унэр зыгъэунэри благъэр зыгъэблагъэри фызщ.●
●Унэр игущ, жьэгур и псэщ.●
●Унэр щабгъэр губгъэныр илъын щхьэкlэщ.●
●Ущылъхуэрэ ущылlэрэ.●
●Фадэр куэдрэ щытмэ, мэжабзэ, хъыджэбзыр куэдрэ дэсмэ, мэутхъуэ.●
●Фыз бзаджэ зиlэм и унэ умыкlуэ.●
●Фыз бзаджэ лlыгъэжьщ. (Лlыр щlэх жьы ещl, жыхуиlэщ.)●
●Фыз бзаджэ хьэщlэмыгъашхэщ.●
●Фыз бий нэхърэ жылэ бий.●
●Фыз быдэ илl хьэлэлщ.●
●Фыз дахэ тхьэмахуэ фызщи фызыфl ныбжьырей фызщ.●
●Фыз закъуэм дэмыlэпыкъу лlыр лlыфкъым.●
●Фыз зимыlэ щlалэрэ шхуэ зыпщlэхэмылъ шырэ.●
●Фыз мылъхуэ дахэщ.●
●Фыз улъыхъумэ, благъи дэлъыхъуэ.●
●Фыз хуэмыху зиlэр насыпыншэщ.●
●Фыз хьэдэ лlыгъапцlэщ. (Фыз хуэмыхур лlым еубзэурэ къегъапцlэ, жыхуиlэщ.)●
●Фыз щэ щlыгъуэщ.●
●Фызабэм и бын епlыжри лlыгъуабэм и бын хуэпlыжыркъым.●
●Фызабэр бын щхьэтепхъуэщ.●
●Фызым еуэр лlы мыхъущи, хъуэр зымыдэр лlы делэщ.●
●Фызым игъэпуда лlыр зыми къыдихыжынкъым.●
●Фызым и фlыр лlыгъатхъэщ.●
●Фызыр жьы хъумэ, фlы мэхъуж.●
●Фызыр тlэушхэ – щэшхэщи, лlыр зэ шхэгъуэ закъуэщ.●
●Фызыр щlагъуэмэ, унагъуэм къеlуатэ.●
●Фызыфl быдзышэ налъэ щыщlэркъым.●
●Фызыфl гъэтlылъыгъэншэ хъуркъым.●
●Фызыфl зиlэ и гуауэ шэчыгъуафlэщ.●
●Фызыфl зиlэм хъуэхъу и унэ илъщ.●
●Фызыфl и хьэку ятlэ хьэзырщ.●
●Фызыфl и lэнэ зэтетщ.●
●Фызыфl илl гъуэмылэншэ хъуркъым.●
●Фызыфl илl нэкlущхьэплъщ.●
●Фызыфl илl цlэрыlуэщ.●
●Фызыфlым лlы lейр добжьыфlэри фыз lейм лlыфlыр добжьыгуэ.●
●Фызыфlыр унэщи фыз lейр щlыунэщ.●
●Фlылъагъуныгъэр къупщхьэ зауэм хуэдэщ.●
●Фlыуэ зэрылъагъуитlыр зы фэ джанэм зэдохуэ.●
●Фlыуэ узэрылъагъумэ, бгъэныщхьэ унэри жэнэтщ.●
●Фlыуэ укъэзылъагъум уи дагъуэр уегъэлъагъуж, жагъуэу укъэзылъагъум уи нэ щыбагъкlэ еlуэтэж.●
●Фlыуэ плъагъум зыкъебгъэщlэнумэ, и цlэр куэдрэ жыlэ.●
●Фlыуэ слъагъум хуэзмыщlэнур сремыlэ.●
●Хамэ щlалэ бгъэуджмэ, и анэ къеджэмэ, кlуэжынщ.●
●Хамэм ухуэмыубэ, быным ухуэмыдзыхэ.●
●Хэгъэрей хуэмыхум хьэ къыуегъэдзакъэ.●
●Хэгъэрей бзаджэ дэкlуатэ кlыхьщ.●
●Хэгъэрей бзаджэ шу ужьщ.●
●Хэгъэреифl лъыхъуи, былымлъыхъуэ кlуэ.●
●Хъыджэбз къапшэмэ, уэ зэрыбгъасэщи, пхъужь къапшэмэ, зэресагъэххэщ.●
●Хъыджэбз унэгъуащэмэ, тхьэмбылыкъу ешу.●
●Хъуэн зимыlэр и дыщ кlуэжри хъуэн къихьащ.●
●Хьэ мыбанэ унэ гъэунэхъущ.●
●Хьэ пэтрэ и шырыр дзапэкlэ зэрехьэ.●
●Хьэ хей умыукl, фыз хей иумыгъэкlыж.●
●Хьэдрыхэ куэрэ зи дыщ куэжрэ хэт иубыдп?●
●Хьэкlуфхэр зофийри, зэфэгъухэр зэкlуомщ. (Хьэкlуф – адыгэхэм ящыщ зы лъэпкъыу мэзым хэсу Хы фыцlэ lуфэм lусащ. Зэкlуом – урыс псалъэ «кум» жыхуаlэм къытекlагъэнущ, зэблагъэщ, жыхуиlэщ.)●
●Хьэмэшыпхэ благъэщ.●
●Хьэщlэ жагъуэ псы кlэщlакlэ.●
●Хьэщlэ здэщыlэм хэгъэрей щыlэщ.●
●Хьэщlэ зи жагъуэм лыхуэ хуегъажьэ.●
●Хьэщlэ къакlуэмэ, хэгъэрейр мэгуфlэ.●
●Хьэщlэ хьэщlэтепсыхэ и жагъуэщ.●
●Хьэщlэм и ерыскъыр къыдокlуэ.●
●Хьэщlэмыгъашхэ цlэрыlуэщ.●
●Хьэщlэр бысымым и гъэрщ.●
●Хьэщlэр жэщищ исмэ, быным ящыщ мэхъуж.●
●Хьэщlэр куэдрэ щысмэ, бысымыр йозэш.●
●Хьэщlэр нэщхъеймэ, бысымым и ягъэщ.●
●Хьэщlэр хущхьэрей хъумэ, гъашхи гъэгъуэлъыж.●
●Хьэщlэр хьэзыр щхьэкlэ, бысымыр хьэзыр?●
●Хьэщlэр шхэмэ бжэм йоплъ.●
●Хьэщlэфl и бысымыбжэ зэlухащ.●
●Цlыхубз зыщlэмыс унэр сабафэщ.●
●Цlыхуфl и lэнэ хьэзырщ.●
●Шыгъу пут зэдумышхыу узэрыщlэркъым.●
●Шыпхъум и гур дэлъхумкlэ гъэзащ.●
●Шыпхъуншэ нэхърэ шыпхъу нэф.●
●Шыпхъуншэрэ хьэдагъэншэрэ.●
●Щхьэгъусэр насып зэхэгъэкlыпlэщ.●
●Щхьэж и ныбжьэгъу и гъуджэ – мажьэщ.●
●Щхьэж и фэгъу и гуэгъущ.●
●Щхьэж хуэфащэ и щауэгъущ.●
●Щхьэзыфlэфl щхьэзыфlэфl къелъхуж.●
●Щыпэлlыр щыпэнэхущи, етlуанэлlыр lулэlуданэщ.●
●Щlалэ гурэпкlырэ ●Ажалым «сынокlуэ» жиlэркъым.●
●Ажалыр зэмыпэщэкlым къэмысын фощl.●
●Ажалыр ныбжьэгъукъым, къыпхуеймэ, къоупщlыркъым.●
«Ажэр зыдыгъуам ажафэ техыгъуэм сыкъищlэнщ», - жиlащ зи ажэ ядыгъуам.●
●Ажэр мэлым я пашэщ.●
●Алащэм уеуэмэ, мэлъэхъу, мылъэхъуххэр шыдщ●
●Алыхьым къыптрилъхьэмэ, фошыгъу шей уефэнщ.●
●Алъпым дыгъужь хуэлъэщ.●
●Алъпыр къралъгулъкlэ ягъашхэ. (Къралъ – удз лъэпкъщ.)●
●Анэ зиlэ нэхърэ lэ зыпыт.●
●Апэсищкlэ къызощэху, сом ныкъуэкlэ сощэж – фейдэр здэкуэр къэщlэж !●
●Апхуэди мэхъу, шкlэхъужьи малlэ.●
●Аргъуей мыдзакъэ щыlэкъым.●
●Аргъуейм и куэпкъ щыхахым, «Зыхэпхми еплъ, хэпхми еплъ», жиlащ.●
●Ахъмэт и фо изщ, улъэмыlэсмэ сыт и сэбэп.●
●Ахъшэ уиlэмэ, бохъшэ бгъуэтынщ.●
●Ахъшэр псым хуэдэщ.●
●Бабыщ псым итхьэлэркъым, мэлыхъуэ хьэм ишхыркъым.●
●Бадзэ и дзапэ узылъэщ.●
●Бажэм дыгъужьибл къегъапцlэ.●
●Бажэм и фэр и бийщ.●
●Бажэм и хьилагъэр япэ итщ.●
●Бажэм я нэхъ lущыр и гъуэм щаубыд.●
●Бажэр ныбажэ хъумэ, дыгъэмыхъуэ мэлъыхъуэ.●
●Бажэр ущу ежьамэ, мэщакlуэ.●
●Банэм и щlыб ухъу. (Тпэlэщlэ ухъу, жыхуиlэщ.)●
●Бацэ япхъ, цы япхъэх. (Заужьыж, жыхуиlэщ.)●
●Бэмпlэгъуэ лъыхъуэри зэгуэудыгъуэ къилъхуащ. (Зы зэгуэпыгъуэм нэхъ зэгуэпыгъуэж къытехъуэмэ, жаlэ.)●
●Бгым джэдыкlэкlэ еуэ. Бгым натlэкlэ еуэ. (Мы псалъитlми къарыкlыр зыщ : Зыри пхуэщlэнукъым, жыхуиlэщ.)●
●Бгъэ быдз нэхърэ lу быдз.●
●Бгъэтхъуэнумэ, тхъуэ лъэпкъ, бгъэжэнумэ, гъуэ лъэпкъ. (Зи гугъу ищыр шыщ.)●
●Бжэмышх нэщl жьэм хуахьыркъым.●
●Бжэн и дзэ lухурэ? (Щымыlэ бгъуэтын, жыхуиlэщ.)●
●Бжэн къуий бжьакъуэ лъыхъуэ ежьэри и тхьэкlумэ хилъхьащ.●
●Бжэн къуийр псым хэплъэмэ, «сыщlалэщ» жеlэ.●
●Бжэнми жьакlэ тетщ.●
●Бжэныжь зи лlэжыгъуэм прамыжыщхьэ здехьыж.●
●Бжэным и кlарэр и кlуэцlым илъщ.●
●Бжэныр ефэри дыгъужьым езэуэну кlуащ.●
●Бжьакъуитl щхьэкlэ хъун бэгъуам хокlыж. (Акъылыншэщ, былымым хуэдэщ, жыхуиlэщ.)●
●Бжьахъуэ и фор зэбграхырти, езыми зы фо lэмыщlэ къыхихыжащ.●
●Бжьэ матэ зи куэдым и жьантlэ дегъэувэ.●
●Бжьэ уиlэмэ, щунэфыр зищысыр пщlэнщ. (Щунэф – бжьэ зышх бзущ.)●
●Бжьэм фо зыдэщыlэр ещlэ.●
●Бжьэр уэмэ, мэлlэж.●
●Бжьэхуцым мафlэ пхухэгъэпщкlуэнкъым.●
●Бжьэцым къуацэкlэ хэуащ. (lуэхур зэlигъэхьащ, жыхуиlэщ.)●
●Бжьыныхур хущхъуэщ, бжьыныщхьэр щхъухьщ.●
●Бжьыхьэ бадзэ дзакъэрейщ.●
●Бжьыхьэ жэщ щэрэ минщ. (Куэдрэ зызэрехъуэкl, жыхуиlэщ.)●
●Бжьыхьэ жэщым вырэ шырэ йокlуадэ. (Зэрыкlыхьым щхьэкlэ жаlэ.)●
●Бзэгум цlыхур зэрегъэукl.●
●Бзэгур шэм нэхърэ нэхъ жэрщ.●
●Бзэгур гум и тэрмэшщ.●
●Бзэр зэзым нэхърэ нэхъ дыджщ, фом нэхърэ нэхъ lэфщ, джатэм нэхърэ нэхъ жанщ.●
●Бзу лъакъуэ къупщхьэ хахыркъым.●
●Бзум ямыфэгъум си мэш ешх.●
●Бзур зышхынум уоджагуэ.●
●Бийм и пlалъэр ущыlущlэщ.●
●Бланэм и лъагъуи и убыды зы хъуркъым.●
●Бланэр жэр щхьэкlэ зэраукlыр шыщ.●
●Блэ зэуар аркъэным щощтэ.●
●Блэр зытраукlэр и шэрэзщ.●
●Блэр и щхъухь ихьыжыркъым.●
●Блэр уеуэху мэбэг.●
●Ботэщейм Дол унафэ ирагъэщlри езым ягу еlу ящlэж.●
●Быдзышэ хъунщ, жызоlэри сошх, жызыlам нэхъей.●
●Былым къыпэкlу нэхърэ насып къыпэкlу.●
●Блымым зейр и ажалщ.●
●Былымым и нэр шхыным ирещl.●
●Былымыр жьы зэрыхъур и фэщ.●
●Былымыр зейм емыщхьмэ, хьэрэмщ.●
●Брулым шибл я кlэн хэлъщ.●
●Вакъэжьылъэ шынэркъым.●
●Вы хьэху къозымытынум вы щэгъу ухегъэн.●
●Вы хъунур шкlэ щыкlэ уощlэ.●
●Вы пlалъэмыщlэр бжьыкъутэщ.●
●Вы щхьэlу зэптым вы хьэху къыуитыжыркъым.●
●Выгъуэжьыр къурашэщ, гур зезышэр гурыгъщ, ныбэр зымыгъагъыр хьэлущ.●
●Вым и бжьакъуэ и хьэлъэкъым.●
●Вым лъэмыlэсыр гуфэм йоуэ.●
●Вым худэмышыр и вейщ.●
●Выр гъуахъуэри хъуным хидзащ. (Тхъэгъуэ хэхуам хужаlэ.)●
●Гуэным имылъмэ, lэнэми телъкъым.●
●Гуэныхь гулъэ зезышэм гуэныхь фэншей худрадзей.●
●Гуэрэфыр гухэлъэфщи, фэрэкlыр гуимыкlыжщ.●
●Гуэрэфыр узыгъуибл поув.●
●Гуэшакlуэ lыхьэншэщ.●
●Губзыгъэм и гуlэгъуэр делэм и гуфlэгъуэщ.●
●Гугъуехь зымылъэгъуам гъуэгуанэ хуэшэчыркъым.●
●Гугъуехь зымышэчыр лlым хабжэркъым.●
●Гуемыlу хъыбарыр щlэх зэлъащlыс.●
●Гужь зиlэр вакъэжкlэ мауэ.●
●Гум дэбгъахуэр фэм къеlуатэ.●
●Гум емыкlур нэми екlуркъым.●
●Гум илъыр жьэм жеlэ.●
●Гум илъыр нэгум къыуегъащlэ.●
●Гум хэщlмэ, пащlэм хоз.●
●Гур жьы хъуркъым.●
●Гур зэрыгъум дыгъур ирокlуэ. ●
●Гур зэрыкlуэдыкlыр и шэрхъщ.●
●Гур здэкlуэм кlуэфыр лlыфlщ.●
●Гур уфэрэкlмэ, щlалэм и ягъэщ.●
●Гушыlэр тхьэм и щlасэщ.●
●Гуlэ и lэпэ йодзэкъэж.●
●Гъатхэ бацэри бжьыхьэ цыжьри тегъуауэ пхуэщ ухъу.●
●Гъэрихьым щауэр мэшэс.●
●Гъэшыр зыщыбэм цlыхур щыбейщ.●
●Гъуабжэ псори мыщэкъым, лыд псори дыщэкъым.●
●Гъуэгунапщlэ сабэм мэкъу щеуэркъым, ер зэуа жыгым пщlащэ къыпыкlэркъым.●
●Гъурым цlынэри дос.●
●Гъусэ пэплъэрэ палъэтесымрэ шэчыгъуейщ.●
●Гъусэ мыхъурэ lэщэ мыхъурэ.●
●Дауэ сщlымэ дауэ хъун, дауэ хъумэ дауэ сщlын?●
●Даущыфlыр щылъу даущ бзаджэр мэlу.●
●Дахагъэм гур егъэгушхуэ.●
●Дахэ псори дахэкъым.●
●Дахэм еплъыр нэщхъыфlэщ, шыфlым тесыр тхуэбгъакъэщ.●
●Дахэм и напэ пlастэ ирагъэпщlыркъым.●
●Даlуэ шхиипэ тоувэ. (Даlуэм насып къохъулlэ, жыхуиlэщ.)●
●Дэгум жиlэн егъуэт, нэфым игъуэтыр екъуз.●
●Дэгум псори дэгу фlощl.●
●Дэгум щхьэкlэ гъуор лейуэ джэркъым.●
●Делэ бзаджэ нэхърэ делэ дыдэ.●
●Делэм куэд ищlэ къыфlощlыж.●
●Делэр гугъэурэ жьы мэхъу.●
●Делэр жылэу ясэркъым.●
●«Ди жэмыр зышха дыгъужьым кхъуэлым хуэдэу сигу щыкlащ» жызыlам нэхъей.●
●Ди зы мэл хэтщ, дэри зэ дывгъэфий.●
●«Ди фэр бэзэрым щызэхуэзэжынщ», - жиlащ бажэм.●
●Дол и къуэрдэ йодыгъуэж. (Къуэрдэ – тыкуэн хьэпшып цlыкlуфэкlу.)●
●Дунейр зыгъэнэхур зы дыгъэщ.●
●Дыгъэ лъакъуэ къыпхуэубыдын?●
●Дыгъэр зытемыпсэр щыlэжкъым.●
●Дыгъу цlыкlукlэ къемыжэ дыгъушхуэ хъуркъым.●
●Дыгъужьитl зы гъуэ изагъэркъым.●
●Дыгъужьитl я щыб зэхуагъазэркъым.●
●Дыгъужьым и дзэр шымэ, псафэ макlуэ.●
●Дыгъужьым ишхыр и фэкlэ епшыныж.●
●Дыгъужьым ишхари имышхари тохуэ.●
●Дыгъужьым лы игъуэтмэ, псы игъуэтыркъым.●
●Дыгъужьым мэл щихькlэ, и нэпкъыжьэ еплъыркъым.●
●Дыгъужьыр жьы хъумэ, хьэм и джэгуалъэщ.●
●Дыгъужьыр зэдзакъэр и lыхьэщ.●
●Дыгъужьыр зыщызеуалэм мэлым зыщагъэпсэхуркъым.●
●Дыгъужьыр къепхуэкlыурэ мэл кlапэр пеуд.●
●Дыгъум пабжьэр и дэlэпыкъуэгъущ.●
●Дыгъум щыгъур и дыгъуэгъущ.●
●Дыгъуэри дыгъужьри къаущэкlу.●
●Дыгъурыгъуур мэжэщlалlэмэ, и шырыр ешхыж.●
●Дыщэр дыщэпс хуэныкъуэкъым.●
●Дыщэр къэзыгъуэт кlэншыгъулъэ иредзэ.●
●Дыщэр куэншыбым хэлъкlи улъийркъым.●
●Дыщэр къыщыщlахми шылъапlэщ.●
●Дыщэр уэсу къесмэ, уасэ иlэнтэкъым.●
●Джалэу и lупэ зэгуэудами ярейщ.●
●Джалэрей и натlэ быдэ мэхъу●
●Джэгу пэтрэ нэ иращl.●
●Джэгум хэту зэшам нэхъей.●
●Джэгум хэту «Си гъуэншэджыр къызэтыж» жызыlам нэхъей.●
●Джэд жыпlэмэ, сыджэдыкlэщ.●
●Джэд лъакъуэрэ хьэ лъакъуэрэ зыубыда щыlэкъым.●
●Джэд мыкlэцl пшэрщ.●
●Джэд пшэр къыбубыдынумэ, адакъэм бгъурысым епхъуэ.●
●Джэдгын зи жагъуэм и пащlэ щlыlу къытокlэ.●
●Джэджьейм джэдыр егъэсэж.●
●Джэдрэ пэт щыфlагъэжкlэ мэлъэпlастхъэ.●
●Джэду гъунэгъурыпщщ. (Зи унэ гъунэгъуу нэгъуэщl щlыпlэ жэщ щыlэм ауаныщlу хужаlэ.)●
●Джэдум и щхьэр зэрыкlым ипкъри йокl.●
●Джэдур лым лъэмыlэсмэ «мэ щоу» жеlэ.●
●Джэдур дзыгъуэкlэ лlыхъужьщ.●
●Джэдыкlэ къэзыдыгъум джэди къидыгъунщ.●
●Джэдыкlэ пэтрэ фэ тlуащlэ иlэщ.●
●Джэдылlэм зыдахьа бабыщ.●
●Джэдым фэнд кlэрыщащ.(Зэрышхэрейм щхьэкlэ жаlэ.)●
●Джэдыр псы щефэкlэ уафэм доплъей.●
●Джэдыр щыкъакъэм щокlэцl.●
●Джыдащхьэр кlуэдмэ, джыдэкlыр ягъэсыж.●
●Джыдэр кlуэдмэ, и кlыр дыщэщ.●
●Дзасэм тхъу пызагъэрэ?●
●Дзасэри мылыцlу, лыри мыцlынэу.●
●Дзэкlэ мащlэу, хьэщlэкlэ куэду.●
●Дзэр къэсащ, псыр къиуащ.●
●Дзэр узыншэху, шхалъэм зегъэпсэху.●
●Дзэр уришхэн къудейкъым, дахагъэми щыщщ.●
●Дзыгъуэ нэпсейр шэм етхьэлэ.●
●Дзыгъуэ цlыкlурэ пэт lэтэшхуэм ипlытlыркъым.●
●Дзыгъуэм и цыр кlыр хъумэ, щlыlэлlэх мэхъу. (Щыкlыгъуафlэм ираlуэкl.)●
●Дзыгъуэнэфрэ пэт къуалэбзум хабжэ.●
●Дзыгъуэр гъуэм имыхуэмэ, фэлъыркъэб зыкlэрещlэ.●
●Дзыхь зыхуумыщl щыкъур мэкъутэ.●
●Е вындыжь хэшэнщ, е жьуджалэ хэшэнщ.●
●Е зыхэлъыр хьэгъуэлыгъуэм мэятэ.●
●Е махъшэ лlэнщ, е махъшахъуэ лlэнщ.●
●Егъэджакlуэр бзагуэщ, еджакlуэр дэгущ.●
●Езэшыр пшынэ йоуэ.●
●Ем «сынокlуэ» жиlэркъым.●
●Емыкlур lупщlэ-lупщlэу зэхэлъщи къэлътмакъкlэ зыпщlэхэлъым зищlэжыркъым.●
●Емынэм къелар хъумбылейм ехьыж.●
●Есыкlэ умыщlэмэ, lупщlа псыми уитхьэлэжынщ.●
●Ехмэ, lэпэ залэщ, къелыжмэ, ныбжьырей хъуэнщ.●
●Ешхэ-ефэ нэхърэ джэгу.●
●Жамыlа щыlэкъым, ямыщlа мыхъумэ.●
●Жанхъуэтхьэблэ къафэу къытрегъэзэж.●
●Жармыкlэм къыщыхъуар жармыкlэм щызэхэкlыжынщ.●
●Жаlар жыпlэжмэ, бзэгузехьэ уохъу.(Жаlар щыжаlэжым деж ауаныщlу дыщlагъу.)●
●Жэм гъэшыджэ буурейщ.●
●Жэм гъэшыфlэр нанэфl хуэдэщ.●
●Жыхапхъэщlэр фlыуэ мэпхъанкlэ.●
●Жейм и щlыхуэ къыптринэркъым.●
●Жыг ку гъуанэри унэ мэхъу.●
●Жыгым и пщlащэр и фащэщ.●
●Жыгым пщlащэ пымытмэ, зы къурэщ.●
●Жыгыр здещlэмкlэ мауэ.●
●Жыжьэм тlэу сыщылlи, благъэм зэ сыщымылlэкlэ.●
●Жылэм дэлъмэ, уиlэщ.●
●Жысlэр щlэ, сщlэм уемыплъ.●
●Жыlэрыпцl щыlэкъым.●
●Жьабэ нэхърэ шабэ нэхъ шэрыуэщ, шабэ нэхърэ жьабэ нэхъ губзыгъэщ.●
●Жьэм къыжьэдэкlа псалъэри фочым къикlа шэри зэхуэдэщ.●
●Жьэр зэщlэкlмэ, ныбэр мэкlий.●
●Жьы зыхэмыт щыlэр щыlэкъым, псчэ зыхэмыт узыр узкъым.●
●Жьы уимыlэмэ, щlэи уиlэкъым.(Узэрылэжьэн щыгъыныжь уимыlэмэ, щыгъыныщlэри куэдрэ уиlэнукъым, жыхуиlэщ.)●
●Жьым и мыгъуэщ, щlэм и гъуэджэщ.(Тlуми я чэзукъым, жыхуиlэщ.)●
●Жьындури гугъат тхьэрыкъуэ къришыну.●
●Захуэ жыlэныр нэ ищlыным хуэдэщ.●
●Зэ еуэр мэуэхъури тlэу еуэр мэуапэ.●
●Зэ лъэпэрапэр щэ мэлъэпэрапэ.●
●Зэгъунэгъуитl я жэм шыкlэ зэхуэдэкъым.●
●Зэгъунэгъуитl я мэл бжыкlэ зыкъым.●
●Зэдауитl яз нэхъ захуэщ.●
●Зэдэмыпсэуитl зэнтlэlуркъым.●
●Зэз зи бзэгу телъым lэф щымыlэж къыфlощl.●
●Зэкlуэлlитlыр зэщlасэщ.●
●Зэкlуэцlыпхауэ щылъ дыгъужьыр тхьэкlумэкlыхьым йощэ.(lэрыубыд ящlа пэтрэ итlаникl зэраныгъэ ищlэну пылъщ, жыхуиlэщ.)●
●Зэрызыхь lыхьэфlэщ.●
●Зэхэзылъхьэм зэхихыжынщ.●
●Зей кlуэдым и анэ и дыгъущ.●
●Зи бзэ текlуэда куэд кхъэм щlэлъщ.●
●Зи бзэ хуимытыжыр и бзэ токlуэдэж.●
●Зи былым кlуэдам гуэныхьищэ къехь. ●
●Зи гур мыфlым и щхьэр фlейщ.●
●Зи дзэ зэмыузарэ зи быдз зэмыузрэ уз ягъэунэхуакъым.●
●Зи лlэгъуэ къэсам и мыхьэл къещтэ.●
●Зи мылъку зыфlэкlуэдам хуэгуlи, зи акъыл зыфlэкlуэдар гъеиж.●
●Зи нэ имысым хьэсэ еутэ. ●
●Зи цlэ ираlуэ бжэщхьэlу тесщ.●
●Зи щхьэ зыфэмыдэхэж щыlэкъым.●
●Зи щхьэ зыхуэмылъэфым пхъэлъэф зыкlэрещlэ. ●
●Зи щхьэ зыхуэмыlыгъыжым щхьэ lыгъын къещтэ.●
●Зи щхьэ щымыlэм и шыд хьэм ешх.●
●Зи lуэху мыхъунум фэндибгъу кlэрыщlащ.●
●Зибзеихьу и lэшхылъэ итlысхьэжа?(Зыми хуэмыныкъуэжын, зыри къыщымыщlыжын и гугъэ?-жыхуиlэщ.)●
●Зызогъэхьри яшэм сыхон, зызогъашэри яхьым сыхон.●
●Зил мыузым игу узыркъым.●
●Зумыхьэри уимыlэри зыщ.●
●Зы дэкlэ уигу сыкъэкlи, а зыри кунэфу къыщlыкl.●
●Зы махуэм бэзэрщ, зы махуэм къызэрщ.●
●Зы нэрэ зы щхьэрэ зэхурокъу.●
●Зыгъуэтыр мэгуфэри, зыфэкlуэдыр магъ.●
●Зыжраlэ нэхърэ зыраlуэкl.●
●Зызыгъэгусэ и lыхьэ ныбэ уз хуэхъущхъуэщ.●
●Зылъэгъуа щыlэмэ, зэхэзыха умылъыхъуэ.●
●Зым ейкlэ зыр щlэскъым.●
●Зым и зэран щэм йокl.●
●Зым и мыуасэ хьэм ишхыркъым.●
●Зымылъэгъуа хашэ хъуркъым.●
●Зыптхьэщlмэ, нэху мэщ, уущмэ, гъуэгум хощl.●
●Зыри зымыщlэр зэи щыуэркъым.●
●Зыщэм и напэр къэзыщэхум и уасэщ.●
●Зыщlэм жиlэркъым, жызыlэм ищlэркъым.●
●Зыщlэн зымыщlэжым и унэ иречри иресэж.●
●Зыщlэр мажэ, зымыщlэр мэжей.●
●Зыlэщlэкlым хощlри, зыlэщlыхьэм хохъуэ.●
●И адэ къыщlыкlыжи и ней къысщыхуэ.●
●И гум зимыгъэнщlурэ и ныбэм зигъэнщlащ.●
●И гур пхъэ щхьэкlэ, и лъэр пхъэм дэнащ.●
●Илъэскlэ щысар пlастэпсым пэплъэжакъым.●
●И насып бжыхьым ирапхакъым.●
●И насыпыр къитlэтlащ, и пlастэпсыр хэтlэтlащ.●
●И шы пхэщl ирибзэри еlэзэу увыжащ.(lуэхур зэlигъэхьэри епэщэщу увыжащ, жыхуиlэщ.)●
●Ив лlэри и дзей хэкlыжащ.(Я lуэху зэхэлъыжкъым, жыхуиlэщ.)●
●Из зышхынум ныкъуэ шхыкlэ ищlэркъым.●
●Икlи уимыкl, икlи уимыс, уисуи сыкъыумыгъэсыж.●
●Имыlэфl щыгугъым и выфlитl фlокlуэд.●
●Ин дыдэхэми надэ къахокl.●
●Инагъкlэ фыхуеймэ, махъшэм феупщl, жьакlэкlэ фыхуеймэ, ажэм феупщl.●
●Ирауд банэкlэ зигъэнщlыркъым.●
●Иримыкъур иризыгъэкъур лэпсщ.●
●"Истамбыл губгъуафэ изоплъ" жызыlам нэхъей.●
●Истамбыл къикlам дызэригъэтlэхъужыркъым.(Дызэlэбэкlмэ,ахъшэ яттыну ди жып диlэбэ яфlощl,жыхуиlэщ. Уэкъуо и псалъэу жаlэ.)●
●Иужьрей lуэху бзу кlагуэщ.(lуэхур умыгъэтlылъ, жыхуиlэщ.)●
●Куэсэ хьэсэгъу умыщl.(Цlыху бзаджэ пэшэгъу умыщl, жыхуиlэщ.)●
●Куэдыр пхурикъуркъым, мащlэр къыбдохуэж.●
●Куэпкъ зылъысми ешх, шхужь зылъысми ешх.●
●Кхъахэ хъуари кхъэм ехъуапсэркъым.●
●Кхъэм зыщызыгъэпщкlури кхъэм йокlуэлlэж.●
●Кхъэм яхь къахьыжыркъым.●
●Кхъуэ нэфми мышхумпlэ къыlуохуэ.●
●Кхъуэм и кlэр пиупщlри мэзым щlиутlыпщхьэжащ.●
●Кхъуэм илъ хьэм къытенэркъым.●
●Кхъуэныжь гъуэгыурэ кхъуэбанэр ешх.●
●Кхъуэныжь уэлбанэхэлъхуэщ.(Щимычэзум lуэху къыдэзылъэфым хужаlэ.)●
●Кхъузанэ гуплlэ-гупхэ ищlрэ?●
●Къанжэр и бзэ токlуадэ.●
●Къапхъэнми имыгъапцlэ иубыдыркъым.●
●Къэзыгъэкlри зышхыжри уэрщ.●
●Къэзыдыгъур зы гуэныхьщи зыфlадыгъур гуэныхьищэщ.●
●Къэзыхь зышхыж бей мэхъу.(Лажьэу шхэжыр фlыуэ мэпсэу,жыхуиlэщ.)●
●Къалэн зыщыпщlыжыр къалэн пхуохъу.●
●Къэмыфэфым пшынауэм трелъхьэ.●
●Къэхъуа щыlэкъым - щlалэр яукlри витlыр яхуащ.(Гузэвэгъуэшхуэ, гуlэгъуэ зэуэлlауэ зыфlэмыlуэхум ауаныщlу хужаlэ мы ищхьэмкlэ къэкlуа псэлъафитlри.) ●
●Къемэтмахуэр зэхуэдипlалъэщ.●
●Къоджэм уигъэжейркъым.●
●Къозыlуэкlым къыбжеlэ, къыбжезыlэпэр къыптогъэ.●
●Къырыми данэ илъщ.(Уимыlэмэ, сыт и мыхьэнэ, жыхуиlэщ.)●
●Къызэзытым къысхущlигъу.●
●Кърум мывэ жьэдэлъу нэху егъэщ.●
●Къысхуэзыщlэ и псэ.●
●Къыхэджэ закъуэ - ежьуун бгъуэтынщ.●
●Къуажэ зиlэ нэф нэхърэ гухъу зыщlыф lэшэ.●
●Къуэщlий мафlэми шэ къегъэпщт.●
●Къуийм и пыlэ щыгъупщэркъым.●
●Къуийм и пыlэр щхьэрыхумэ, укlытэжыркъым.●
●Къуийм и щхьэ хуэзыхущlыр и бийщ.●
●Къуийм и щlыlу гуэрэф.●
●Къундэпсо гуащlэм кхъуэщыныр зэрегъэкlуэкl.●
●Къупщхьэр псэумэ, лы къытокlэж.●
●Къущхьэмышхейм къуэрагъ и хущхъуэщ.●
●Кlэпхъми содэ, дзыгъуэ къиубыдмэ.●
●Кlэпlейкlэм щlэгупсысурэ сомыр хилъхьащ.●
●Кlытэр кlымэ, фадэр хахуэщ.●
●Кlыщ пщы унэщ.●
●Кlыщыбжэрэ псыунэбжэрэ зэlухащ.●
●Кlуэдар дэгъуэ мэхъу.●
●Кlуэм и баш лlэм и шэнт.●
●Кlуэм и гъуэгу хощl.●
●Кlуэм ущlохьэри шхэм ущlыхьэркъым.●
●Лажьейм узей къыхокl.(Гукъеуэшхуэм уз къыхокl, жыхуиlэщ.)●
●Лажьейм уфlокlуэри, узейм уфlэкlуэркъым.●
●Лэжьыгъэу щыlэр зы нэдым ихуэркъым, щlэныгъэу щыlэр зы цlыхум ищlэркъым.●
●Лы къыlэрымыхьам дыгъужьым и дзэр егъэщ.(Къыпlэрымыхьэм уегъэгузавэ, жыхуиlэщ.)●
●Лыр ишхри къупщхьэ тенащ.●
●Лыр къуалэми ягъуэт, ямыгъуэтыжыр лэпсщ.●
●Лыр хьэхущ.●
●Лъабэ lубэ ухуехь.●
●Лъакъуэ къуаншэ вакъэ хуэщщ.(Вакъэ куэдрэ къещэху, жыхуиlэщ.)●
●Лъэгуажьэпэм нэмыс хьэдрыхэ ноlус.(Псалъэ lей умыутlыпщ, жыхуиlэщ.)●
●Лъэсыр шум щlонакlэ.●
●Лlар фlы мэхъуж.●
●Лlэм зыгъэлlэн ешх.●
●Лlым lэщэ зыхуиlыгъыр зы дакъикъэщ.●
●Лlыфl шыфl хуэщщ.●
●Лlыущхьэкlуэр щхьэкlуэ мыдэщ.●
●Мазэщlэр куэдрэ блэркъым.●
●Мастэ гуапэщи мастэ гуауэщ.●
●Мафlэ зыдэщымыlэр тахътэкъым.(Мафlэ здэщымыlэм тхъэгъуэ щыlэкъым, жыхуиlэщ.)●
●Мафlэм псыр къегъавэ, псывэм мафlэр егъэункlыфl.●
●Мафlэм lэщlэкlар псывэм хоупlэ.●
●Мафlэншэри гъазэншэри зэлъытащ.●
●Мафlэрэ гуфlэгъуэрэ.●
●Махуэ къэси щыблэ уэркъым.●
●Махуэ псом зэрагъэпцlар чыцl ажэм икъутэжащ.●
●Махуэкум сыджауэ мэремым къызэхуэсарэт.●
●Махуэм махуэ къелъху.(Пlалъэм пlалъэ къыхокl, жыхуиlэщ.)●
●Махуэфlрэ лlэкlафlэрэ.●
●Мацlэм хэуэри пкlауэ закъуэр иукlащ.●
●Мащlэр гуапэщ, гуапэр псапэщ.●
●Мэжэщlалlэм дыгъужьыр мэзым къыщlеху.●
●Мэжэщlалlэм къэрабгъэри лlыхъужь ещl.●
●Мэжэщlалlэм щlалэри егъэжь.●
●Мэз пхъэншэ хъурэ?●
●Мэзджэдур и пащlэкlэ яцlыху.●
●Мэзым нэсыжа бланэр яукl.●
●Мэкъу хьэвэ мастэ хэкlуадэщ.●
●Мэл зиlэр лэгъупэжьщ, пхъужь зиlэр унэфэщlщ.●
●Мэл зыхэвэ нэхърэ бжэн зыхэпкlэ.●
●Мэлищэм зы мэл щlыщlэмэ, мэл щэ ныкъуэщ.●
●Мэлым и кlапэ и хьэлъэкъым.●
●Мэлым и кlапэр щыдэуейм, бжэныр дыхьэшхащ.●
●Мэлыхъуэ лъакъуэубыд и щхьэусыгъуэщ.●
●Мэлыхъуэм я зэхэкlыжыгъуэм кхъуей шыпс зэраутхыж.●
●Мэлыхъуэр шхын щхьэкlэ лlати, "и гуфlакlэм щэ дэз хъунщ", жаlэрт.●
●Мэхъуэщей лlыфlым уеуэмэ, зеущэху.(Мэхъуэщ - адыгэм ящыщ зы лъэпкъыу щытащ.)●
●Мывэ дзыкlэ зымыщlэм и щхьэм къохуэж.●
●Мывэ къуршым мэш трасэркъым.●
●Мывэ сыныр мэкlуэдыж, мыкlуэдыжыр уэрэдщ.●
●Мывэр куэдрэ щылъмэ, жыглыц къытокlэ.●
●Мыгъуэр зи мыгъуэр пхъэрыпэщ.●
●Мыкlуэдыну зы мылъку, мылэжэну зы цlэ.●
●"Мыпхуэдэу щхьэ цlыкlуу укъэна, дзыгъуэ?" - щыжаlэм, "джэдум сыщышынэурэ" жиlащ.●
●Мысэр малъэри хейм и лъакъуэр щlеуд.●
●Мыублэ мыхъумэ, мыух щыlэкъым.●
●Мыхъумэ, lэхъуэр и шэсщ.●
●Мыщэ шхэри зы дэ къелщ.●
●Мыщэм ишхар дыгъужьым трелъхьэ.●
●Мыщэм лыкlэ зигъэнщlмэ, къофэ. ●
●Мыщэм лыр имыгъэфу ишхыркъым.●
●Мыщэм пщlащэ техуэмэ мэгубжь, жыг техуэмэ зеущэху.●
●Мыщэм фlыуэ илъагъур ешхыж.●
●Мыщэр игу къыщихьэм щотlыс.●
●Набдзэхэкlэр гухэмыкlыжщ.●
●Назэми, нэф нэхърэ нэхъыфlщ.●
●Назэр нэфкъым, щхьэзэр делэкъым.●
●"Нал lунэр бэн lунэ зыщlыж тхьэр щыlэщ",-жиlащ гъукlэм и фызым.●
●Напэм техуэр жьэм жеlэф.●
●Нахуэ жыlэнрэ нэ ищlынрэ.●
●Нахуэу зыщамыщlэм щэхуу сату щащl.●
●Нэ илъагъу нэ ещlэж.●
●Нэгум щlэлъыр лъэгум кlуащ.●
●Нэгум щlэхур гум йохуж.●
●Нэгъабэ къызэуащ, жери мы гъэм магъ.
●Нэд мыкъу уврэ, нэд къуа зигъэщхърэ?●
●Нэм нэ хъумэ иlэщ.●
●Нэм щlэлъыр lугъуэм къыщlеху, гум илъыр фадэм къреху.●
●Нэпкъым тетыр кхъуафэ хукlэкlэ lэзэщ.●
●Нэпсыншэ хьэдагъэ.●
●Нэр зейм жейм трех.●
●Нэр псэм и хъумакlуэщ.●
●Нэфрэ дэгурэ зопсалъэ.●
●Нэфым и нэм хихьар и гум хелъхьэж.●
●Нэфыр тхьэкlумафlэщ.●
●Нитlрэ пэт, зэфыгъуэгъущ.●
●Нитlыр зэхуэдэмэ, жыжьаплъэщ.●
●Нитlыр зэхуэмыдэмэ, мэплъэщхъу.●
●Ныбэ lейм шхын и пщlыхьщ.●
●Ныбэм и лажьэр lуэтэжыгъуафlэщ.●
●Ныбэм измэ, щlакхъуэр цlынэщ.●
●Ныбэм илъмэ, псынщlэщи, имылъмэ, уэндэгъущ.●
●Ныбэм имылъмэ, лъэр щlэкlыркъым.●
●Ныбэм имылъмэ, нэр плъэркъым.●
●Ныбэм имылъмэ, щlыр плъапlэщ.●
●Ныбэм уахихьэнщ, фэм уакъыхихыжынщ.●
●Ныбэр къэблагъэмэ, благъэр пщегъэгъупщэ.●
●Ныбэр нэщlмэ, лъакъуэр щlэкlыркъым.●
●Ныкъуэлъахьэр шыгъэкlуэрщ.●
●Пабжьэм хэсыр лыгъэм къыхехури, гум илъыр фадэм къреху.●
●Пащlэр инми, жьакlэр щlиуфэркъым.●
●Пэжым нэр ирещl.●
●Пэжыр хущхъуэщ, пцlыр щхъухьщ.●
●Пкъым пыт лыр мэуз.●
●Пкъымрэ псэмрэ зэlэпыкlыгъуейщ.●
●Пкlауэм и кlуэдыжыгъуэ къэсмэ, бжьэхъун тхьэмпэр тlысыпlэ ещl.●
●Псалъэ гуапэ гугъэдахэщ.●
●Псалъэ дахэм гуауэр пщегъэгъупщэ.●
●Псалъэ лейм бащ лей даlэтыркъым.●
●Псалъэм и пэр умыщlэу и кlэр пщlэркъым.●
●Псалъэм пщlэ щlатыркъым.●
●Псалъэр бгъэувмэ выщи, бгъэтlысмэ цlэщ.●
●Псатхьэр къехмэ, бгыкъум зегъэщ.●
●Псэ зыпыт къупщхьэм лы къытокlэж.●
●Псэ зыпыту мышынэ щыlэкъым.●
●Псэжьыр лъхуэри емынэжь къилъхуащ.●
●Псэм лъыхъур щхьэм и къурмэныпхъэщ.●
●Псэм хуабэ и щlасэщ.●
●Псэр lэфlщ.●
●Псэрэ пэт хьэхущ.●
●Псэур мэгугъэри, лlар гугъэжыркъым.●
●Псоущхьэ губзыгъэ зыгъэлlэн ишхыркъым.●
●Псы мыгъавэ бдзэжьей хэсщ.●
●Псы lуфэм lусым псы икlыпэр ещlэ.●
●Псы lуфэм lут дзэлыр мэхъуапсэ.●
●Псы lуфэм lусыр есыкlэкlэ lэзэщ.●
●Псы джэд псым итхьэлэркъым, мэлыхъуэхьэ дыгъужьым ихьыркъым.●
●Псыжь укlуэмэ, пщыз пхощl.(Псыжь-Кубань жыхуаlэ псыежэхыращ.)●
●Псым итхьэлэм блэм зрешэкl.●
●Псым ихьыр хьэцыбанейм йопхъуэ.●
●Псым къыхадза бдзэжьеуэ ныджэм къытенащ.●
●Псым хэлъ пхъэр мэфри, фэм дэлъ гур мэбампlэ.●
●Псыр зэрыжэр и псылъэщ.●
●Псыр псэм и зы ныкъуэщ.●
●Псыр псэхэлъхьэжщ.●
●Пыхъуэр жылэ тlысыпlэщ.●
●Псышэд здэщыlэм хьэндыркъуакъуи щыlэщ.●
●Пхуэмыфащэ хьэлъэщ.●
●Пхъэ дакъэжь псым итхьэлэрэ, мэлыхъуэхьэ кlуэдрэ?●
●Пхъэ мысрэ рсы мывэрэ щыlэкъым.●
●Пхъэщкlум кlапсэщхуэр и телъхьэщ.●
●Пхъэlэщэм вы щlэмыщlамэ, пхъэ дакъэщ.●
●Пцlы бупсынумэ, лlам телъхьэ.●
●Пцlы зыупсыр щхьэщытхъущ, зызыгъатхъэр джэгуакlуэщ.●
●Пцlы lэфl нэхърэ пэж дыдж.●
●Пцlым лъакъуэ щlэткъым.●
●Пцlыр зэбгъэпцlми зэрыпцlыр къыщlокlыж.●
●Пцlыупс пцlыупс едэlуэжыркъым.●
●Пцlыупсым и пеж закъуэр хьэм lэпеч.●
●Пцlыупсыр я фlэщ мыхъуурэ, и унэр мафlэм исащ.●
●Пшэ темылъу уэшх щыlэкъым.●
●Пшэм уефийкlэ къэувыlэн, вым уегийкlэ гурыlуэн?●
●Пщащэ гъум теубгъуэн и щlасэщ.●
●Пщэдджыжь хьэщlэ гъэхьэщlэгъуафlэщ.●
●Пыlэ зыщхьэрыгъ псори лlыкъым.●
●Пыlэ lей нэlу lейщ.●
●"Пlащlэр сэ къызихьэлlащэрэт" жиlащ фадэм.●
●Сабийм мафlэ щилъагъукlэ, "си анэ и дыным хэлъащэрэт" жеlэ.●
●Сабийр мыгъмэ, быдз иратыркъым.●
●"Сэ бзаджэ къэзылъхуи, уэ делэ къыулъху", жиlащ.●
●Сэ гъущэрылърэ фыз игъэплъа лlырэ.●
●Сэ сашэн хъумэ, дарийр мэкlуэд.●
●Си анэ къыщамышэм си анэшым срашыбзыхъуэт, жызыlам нэхъей.(Къэхъункlэ мыхъуну lуэху къехъулlауэ зыlуатэм ауаныщlу жраlэ.)●
●Сигу илъыр къащlи, си lэмыщlэ илъыр уэстынщ.●
●Си гъунэгъур мэдыхьэшри сэри содыхэшх.(lуэхум хэзымыщlыкlыу нэгъуэщlым зыдезыгъэкlум хужаlэ.)●
●Си цlэр игъэlуурэ, и lур егъашхэ.●
●Сохъустэмыхъу lэнэухъуэнщlщ.●
●Сыдоубжьытхейри си набдзэм хохуэ, соубжьытхэхри си жьакlэм хохуэ.●
●"Сылъатэмэ, сыфочыпэкlуэдщ, сыхэсмэ, сыхьэпщlо lусщ" жиlащ ныбгъуэм.●
●Сымаджэрэ сабийрэ, жыхуаlэращ.●
●Сыщымыгъуэми дарий гъуэжь джанэ.●
●Таурыхъ щlэупщlэм таурыхъ ещlэ.●
●Тэм тэ и цlэщи, щэм щэ и цlэщ.●
●Теlукl текlыжыркъым.●
●Тутынафэ псори "зэшщ".●
●Тхьэгъэлэдж гуэнырыхьэ-гуэнырыкlщ.(Тхьэгъэлэдж - мыбдежым къикlыр гъавэщ.)●
●Тхьэкlумэм зэхих нэхърэ нэм илъагъу.●
●Тхьэусыхалэ ажал тоlукl.●
●Тыншыгъуэр шэчыгъуейщ.●
●Тlэкlу щхьэкlэ тlэкlурамэщ.●
●Уанэ телъхьэ фlыщlэ пылъкъым.●
●Уанэм лlы имысмэ, пхъэ тыкъырщ.●
●Уафэ гъуэгъуэрейр уэшхыншэщи, фыз дыхьэшхрейр лlыгъапцlэщ.●
●Уахыхьэныр lуэхукъым, уакъызэрыхэкlыжын пщlэмэ.●
●Уэ бгъалlэри лlэркъым, уэ бгъатхъэри тхъэркъым.●
●Уэ блэ къоуамэ, сэ бэдж къызэуащ.(Уэ къыпщыщlам нэхърэ нэхъыкlэж сэ къысщыщlащ, жыхуиlэщ.)●
●Уэ нэхъ лlыфl щымыlэмэ, си пыlэ пхуэгъэтlысащ.●
●Уэдыр lушэщи, пшэрыр дахэщ.●
●Уалбанэшрэ хъыджэбз гушыlэрэ.●
●Уэнум бащ егъуэт.●
●Уэр щхьэкlэ щтапlэ сихьэжынкъым.●
●Уэрэдусрэ сурэтыщlрэ зэхуэдэщ.●
●Уэрэдым и щlопщыр ежьущ.●
●Уэрэдым псалъэ хадзыркъым.●
●Уэс щесам лъэужь щыlэщ.●
●Уэсэпс тхьэгъур гугъэхуабэщ.●
●Уэсхэкl нэфщ.●
●Уэсым хэсыр къанэри хьэжыгъэм хэсыр лlащ.●
●"Ууейм къихи сысейм къилъхьэ" жызыlам нэхъей.●
●Уэфlрэ лlыфlрэ хэт дэзэшын?●
●Уэщыщхьэм уэщыкlыр кlэлъидзыжащ.●
●Удэлъейми уоlуэ, укъелъыхми уоlуэ.●
●Удын зэхэдзэ нэхърэ lыхьэ зэхэдзэ.●
●Удыр и щхъухь ехьыж.●
●Уджым сыхэплъафэ щхьэкlэ, сыкъеплъэфэкlын?●
●Удз цlынэр выфэм пхыкlыркъым.(Къэуат хъуркъым, жыхуиlэщ.)●
●Удзыр къыщыкlым щахъу.●
●Удзыщlэм нэсмэ, шыжь бэгур къохъуж.●
●Уз бзаджащlэщ.●
●Узэлъэlу нэхърэ къолъэlу.●
●Узэлъэlур щlагъуэ мэхъу.●
●Узэмыджа гуемыlущи узэуlу гъунэгъущ.●
●Узэрымыгуlам папщlэ сыгуфlащ, узэрымыгуфlам щхьэкlи сыгуlащ.●
●Узэсэ сэгъейщ.●
●Узэфыгъуэ къыптокlуэ.●
●Узэшмэ, мафlэ, ушынэмэ, гъусэ. ●
●Узейм лажьей къыхокl.(Узейм - уз lейм.)●
●Узижагъуэм и нэм бжэгъуу ущlоуэ.●
●Узижагъуэм уегъэдыхьэшх, узищlасэм уегъагъ.●
●Узижагъуэм уеуб, узищlасэр къыпщотхъу.●
●Узижагъуэм уфlэгъумщ.●
●Узимылlым лlы ущыхъуркъым.●
●Узищlасэм и псэ ухуехь.●
●Узыгъалlэ псори емынэщ.●
●Узыгъэгугъэрэ уи дауэгъурэ.●
●Узыгъэжьым жьыгъэ lыхьэ къыуитыжыркъым.●
●Узылъыхъуэр лъапlэ мэхъу.●
●Узыр уэщынэкlэ къокlуэ, матэнэкlэ мэкlуэж.●
●Узыншагъэрэ сымаджагъэрэ зэпыщlащ.●
●Узытхьэлэ псори Урыхущ.●
●Узыфэ мыхъужмэ, ажал и хущхъуэщ.●
●Узыфl щыlэкъым.●
●Узыхуэмыдэм уи уэрэд еус.●
●Узыхьыну псым мывэ къыхэщу уолъагъу.●
●Узыщымыхъум щхъуэ къуэлъщ.●
●Узыщlэнакlэ къыппокlуэкlыж.●
●Уи адэ и ней, уи анэ и нэфl.●
●Уи вакъэр зэвмэ, дуней псор зэв къыпщещl.●
●Уи гъуэгур бзэпсрэ уи псыр чэнджмэ, уехъулlащ.●
●Уигъуэмэ гъусэ бгъуэтынщ.●
●Уи лэгъу зыхэмыт дзэм уахозэшыхь.●
●Уи лъахэр зыдыгъум уишри идыгъунщ.●
●Уи насып зыхэмылъым дагъуэ къыхуогъуэт.●
●Уи нэми укъыщигъапцlэ къохъу.●
●Уи бын фlыуэ зылъагъум уи щхьи фlыуэ елъагъу.●
●Уи пшынэуэкlэм сыкъыдофэ.●
●Уи хьэ фlэпщ и цlэщ.●
●Уи шэр мыгъуэкlэ ушх, си пlастэр къыхэзгъэшхыкlыж.●
●Уи шхын зыхэлъыр уиlу илъ хуэдэщ.●
●Уи щхьэ зи жагъуэм уи цlэ фlэlейщ.●
●Уи щхьэ зыфlэмыlейм уи лъакъуи фlэlейкъым.●
●Уи щхьэм нэхърэ уи гугъэр сиlащэрэт.●
●Уигу къызэбгъэмэ, уи жэмыбгъэр къэзышх.(Слъэкlыр пхуэсщlащ, уигу къыщызэбгъэн щыlэкъым, жыхуиlэщ.)●
●Уизыудыр lуэхут, къыптелъадэр мыхъумэ.●
●Уиlэ псори сиlэ нэхърэ узыщыгугъыр сиlащэрэт!●
●Улъэlуэнри уlеинри зэхуэдэщ.●
●Умэжалlэмэ, сытри lэфlщ.●
●Умыгъэхъей нэхъей хъунщ.●
●Умылъэlуауэ узэтэнур пщlэнукъым.●
●Умылlэмэ зылl, улlэмэ зы мащэ.●
●Унэм исыр хасэурэ губгъэм исыр къосыж.●
●Унэрыхьэм уи lыхьэ пlех.●
●Унэхъугъэм дзыгъуэри мэятэ.●
●Унэхъунум гуоуж макъ и тхьэкlумэ иlуэркъым.●
●Умылlэмэ, джэду хьэжы плъагъунщ.●
●Упщlэ и анэ фlэрафlэщ.●
●Уримыпсэлъэфмэ, уи жьэм пlастэ иришх.●
●Ухагъэзыхьмэ, укъагъэфэнщ.●
●Ушынэмэ, си кlэ къуагъ къыкъуэтlысхьэ.●
●Ушынэмэ, си пыlэ щхьэрытlагъэ.●
●Ущымытlыс ущыгушыlэркъым.●
●Фадафэ чэфыжьыпкъэщ.●
●Фадэ зэхэдзэрэ удын зэхэдзэрэ.●
●Фалъэм имыт икlутрэ?●
●Фэ мыгъу-мыуцlынрэ фэ цlынэ зэlымыкlри щыlэкъым.●
●Фэ пщlынумэ, лы зытелъхьэ.●
●Фэдэн кlапэ шу егъэшэсыж.●
●Фэлъыркъэб псым щlилъафэрэ?●
●Фэрэкlым "Уи фэр схьын, хьэмэрэ уи нэр схьын?" жи.●
●Фо нэхърэ жей нэхъ lэфlщ.●
●Фом тхъу хэплъхьэкlэ зэlигъэхьэркъым.●
●Фор зэкlэщlэж нэхърэ банэр зэфlренэ.●
●Фоч нэщl лlитlгъэшынэщ.●
●Фочым зигъазэмэ, блыпкъауэщ.●
●Фочыр уамэ, хьэтыр щыlэжкъым.●
●Фыгъуэ-ижэр зыщыкуэдым дауэгъу куэд щызэблокl.●
●Фыз гъуэгу мыгъуэ ежьэркъым.●
●Фlым фlыщlэ пылъщ.●
●Фlыр зымыщlэм фlыщlэр зыуи къыщыхъуркъым.●
●Фlыуэ плъагъу щlыпlэм укlуэныр жыжьэкъым.●
●Фlыцlэ цlэрыlуэщ.●
●Фlыщlэ жыг пхухасэну?●
●Хакlуэ бзаджэ и анэ хуэлъэщ.●
●Хакlуэ мыхъу дзэкъалэщ.●
●Хакlуэ мыхъу хъуэкlуэным дехьэх.●
●Хамэ ахъшэ зепхьэмэ, уи жыпыр гъуанэщ.●
●Хамэ дагъуэр лъагъугъуафlэщ.●
●Хэмэш тес и пхэ щlиудыркъым.●
●Хэди бжэныр къыхэх, мэлыр къыхэпхми уэстыххэнукъым.●
●Хэзгъэхъуэнщ, щыжысlэм, хэзгъэщlащ, зыстхьэщlынщ, щыжысlэм, зысцlэлащ.●
●"Хэт и щхьэр нэхъ дахэ?" щыжаlэм, шылъэгум и щхьэр къригъэжащ.●
●Хэтхэ я унэ къанжэ тес?(Щlагъыбзэщ: Хэтхэ япхъу упылъ е хэтхэ я къуэ къыппылъ, жыхуиlэщ.)●
●Хейрыбгэм и къэрэш езым хуегъэзэжыр.●
●Хым хэкlуадэр кхъэхалъхьэншэщ.●
●Хуарэ дзэкугъуанэ сыбгъэшэсамэ, сегъэпсыхыж.(Къысхуэпщlамэ къысхуумыщlэж, абы щхьэкlэ сыноубзэнукъым, жыхуиlэщ.)●
●Хугукlэ лъэкlапэщ.●
●Хуейм зыхуей игъуэтмэ, бажэ хуэдэ мэущ.●
●Хущхъуэ зэхэдзэр сымаджэм и щхъухьщ.●
●Хущхьэ къуэпс зэтащ.●
●Хущlэмыхьэ пlащlэрыпсалъэщ.●
●Хъыбарыфlри хъыбарщ, хъыбар lейри хъыбарщ.●
●Хъыджэбз щlалэ делэгъуафlэщ.●
●Хъуапсэ и псэ кlуэдыркъым.(Умыфыгъуэмэ, ухъуэпсэну емыкlукъым, жыхуиlэщ.)●
●Хъуэжэ и бэщмакъыу зыкърегъанэ.●
●Хъумэ, зыфl, мыхъумэ, фlитl.●
●Хъунщlэнрэ къуентхъынрэ зыщ.●
●Хьэ мыукlытэ къупщхьэ йогъу.●
●Хьэгъуэлlыгъуэ махуищ гухэхуэщ.●
●Хьэжьыр зэбущтми зумыущтми йобэн.●
●Хьэдэр зейр кхъаблэпэщ.●
●Хьэлывэр япкlыху щысри, ягъэжьэху пэплъэжакъым.●
●Хьэлlамэ ващэрэ?●
●Хьэлlамэм ибгъукlэ йодзакъэ.●
●Хьэм благъэр мэкlэ къещlэ.●
●Хьэм дыгъужь имылъагъуху щlакъуэщ.●
●Хьэм ебгъэшх текlуадэркъым.●
●Хьэм ептыр и lхьэщ.●
●Хьэм и бзэгу хущхъуэщи, джэдум и бзэгу щхъухьщ.●
●Хьэм и губжь кхъуэм щехьэ.●
●Хьэм и гъэрищ, шым и гъэрибл, лlым и гъэ щэщl.(Щыми ар я зэманыгъуэфlщ, жыхуиlэщ.)●
●Хьэм и щхьэр узмэ, удз ешх, блэм и щхьэр узмэ, гъуэгум тогъуалъхьэ.●
●Хэм къупщхьэкlэ уеуэкlэ гъыркъым.●
●Хьэм нэщl щхьэlуо щоуэ.●
●Хьэм "Сыпсэумэ, гъэмахуэм унэ сщlынщ" жеlэ.●
●Хьэм уеуэмэ, нэхъей мэхъу.●
●Хьэм ущышынэмэ, уи нэкlэ укъещlэ.●
●Хьэмаскlэр хьэ зэщlэгъавэщ.●
●Хьэнэфийхэр зэфыегъущ.(Зэныбжьэгъухэр зэкlуэгъужэгъущ, жыхуиlэщ.)●
●Хьэндыркъуакъуэр псыдзэм щрихьэжьэм "Абыи си lуэху щыlэщ" жиlащ.●
●Хьэр банэурэ мэлlэж.●
●Хьэр гугъу ехьынумэ, чэруаным ядокlуэ.●
●Хьэр делэ хъумэ, зейми йодзэкъэж.●
●Хьэр зыукlым ирехыж.●
●Хьэр зыпlынуми ехь, зымыпlынуми ехь.●
●Хьэр зыщагъашхэм щобанэ.●
●Хьэр зыщыгуфlыкlыр и ныбэщ.●
●Хьэр и бзэгукlэ зоlэзэж.●
●Хьэр и гъуэлъыпlэ икlмэ, дыгъужьым ехь.●
●Хьэр мэжалlэмэ, дыгъужь къугъукlэ ещl.●
●Хьэр улэуэнумэ, мэкъушэм ядокlуэ.●
●Хьэр хьэлывэм щогугъу, делэр гугъэурэ мэлlэж.●
●Хьэр шынэмэ, и кlэр и бэкъум декъузэ, джэдур шынэмэ, и кlр еlэт.●
●Хьэрэмым хьэрэм къешэ.●
●Хьэрэмыр нэбгъузкlэ маплъэ.●
●Хьэтыкъуейм тегъэзэж я жагъуэщ.(Хьэтыкъуей - адыгэм ящыщ зы лъэпкъщ.)●
●Хьэщэхурыпхъэм узэригъэпхъуэкlыркъым.●
●Хьэфизым и гур и гъуазэщ.●
●Хьэфизым мазэр хуэнэхукъым, фыз мылъхуэ и сабий гъыркъым.●
●Хьэщlэр зейр гуауэжырыхьщ.●
●Хьэщlэщыжь нэщlыр уэтэущ.●
●Хьэlус ефэгъуэм пашэщ, хьэ елъэрышэгъуэм кlашэщ.●
●Хьэlуцыдз псори зэщхьу мэкъугъ.●
●Хьилагъэ зыхэмылъым "лlыгъэ схэлъщ" жремыlэ.●
●Хьилэр акъылым щыщщ.●
●Хьилэр псалъэри лlыгъэм и лъэр щlиудащ.●
●Цlэр елъэри, бжьыдзэр къинащ.●
●Цlыв гузавэ дэуэщ.●
●Цlыкlу щхьэкlэ, лъабжьэщ.●
●Цlыху зэрыкl вы укlа йохуэ.(Зи гугъу ищlыр ныбэщ.)●
●Цlыхубзыр илъэс щэщlхъумэ, цlыхухъу пэлъытэщ.●
●Цlыхугъэ зиlэм жагъуэгъуи иlэщ.●
●Цlыхуми хьэщхьэрыlуэ къахокl.●
●Цlыхуфl и тlысыпlэ хьэзырщ.●
●Чэф хъуа нэужь зи адэшхуэр зыгъеижам нэхъей.●
●Чыцl ажэм зигъэгусэри шхалъэм дэпкlащ.(Гупым яхэмызагъэу зызыгъэгусэм ауаныщlу хужаlэ.)●
●Шэ зиlэми ешх, шху зиlэми ешх.●
●Шэджэналъэ къидзыххэнумэ къезгъэдзынщ.(Къищlэххэнуlамэ къезгъэщlэнщ, жыхуиlэщ.)●
●Шэм, сынокlуэ, жиlэркъым.●
●Шэрэ блэрэ зэблэкlыркъым.(Фочышэр блэм темыхуэу блэкlыркъым, жыхуиlэщ.)●
●Шэс псори шукъым.●
●Шу гупыр зэдилъмэ, щхьэж игу илъ ещlэж.●
●Шу махуэ lумахуэщ.●
●Шууи укъэмыкlуэ, лъэсуи укъэмыкlуэ, къакlуи скъэлъагъу.(Зыкlэлъызымыгъэкlуэнум и щхьэусыгъуэщ.)●
●"Шхэмэ, и нэзэрыхьэ мэхъей" жери щыхьащ.(Хьэкъ имыlэу щыхьащ, жыхуиlэщ.)●
●Шхэныlэ кlыхьщ.●
●Шхуэлым шэр щыфlэlуркъым, ныбэм сабийр щезэшыркъым.●
●Шхуэмылакlэр зыхуэмыlыгъым шкlэр еубыд.(Хуэмыщlэнум зыкlэрещlэ, зрепщыт, жыхуиlэщ.)●
●Шхупцlатэхьэ кlуэуэ зи шынакъ зыгъэпщкlужам нэхъей.●
●Шы дэгъуэм уанэ дэгъуэ хуэфащэщ.●
●Шы зимыlэм уанэ къещэху.●
●Шы зимыlэр къамышыкlэ базщ.(Базщ - ерыщщ.)●
●Шы зиlэр къанэри, уанэ зи lэр кlуащ.●
●Шы зыгъуэт нэху тещхьэркъым.●
●Шы лlэнум мэкъу пхыр зыдехь.●
●Шы пщlэнтlэх лlыущхьэкlущ.●
●Шы сакъ хьэ къедзакъэркъым.●
●Шы тесыкlэ зымыщlэм уанэр екъутэ.●
●Шы уэдыжь зэдзэlуалэщ.●
●Шы хьэху уэсэпс трагъахэркъым.●
●Шыгъупlастэм хьэтыр иlэщ.●
●Шыд и псыефапlэ егъэутхъуэж.●
●Шыд шыгъу ишхрэ?●
●Шыдым и хьэлъэ ирикъумэ, мэкlуэр.●
●Шыдрэ пэт илъэсым зэ мэфтрей.●
●Шыдыр фыхышэм щраджэм, "Пхъэ къэхьын хуей хъунщ", жиlащ.●
●Шылъэгур зэбгъэзэкlми букlми и зэхуэдэщ.●
●Шым дамэ тету зылъагъур блэращи, блэм лъакъуэ щlэту зылъагъур шыращ.●
●Шым ехуэхым ныбэпхым трелъхьэ.●
●Шым зыщигъэукlурийм иц къыщонэ.●
●Шым и лъакъуэ и бийщ.(И лъакъуэ псынщlэхэм я ягъэкlэ цlыхур шым мэшэс, жыхуиlэщ.)●
●Шынэ зиlэм укlытэ иlэщ.●
●Шынэм макъ егъэlу.●
●Шынэр и унэ мэкlуэж.●
●Шыр тесым егъэдахэ.●
●Шыр пщlантlэмэ,уанэр екlужыркъым.●
●Шыфl зиlэм дамэ тетщ.●
●Шыфlыр езэшмэ, пырхъалэщ.●
●Шыфlыр ныбжьэгъуфlым хуэдэщ.●
●Шыфlрэ гуфlрэ зэхуэщкъым.●
●Шыфlрэ выфlрэ псыбафэркъым.●
●Щауэщlэм и щlакlуэри и кlуэкlэри дахэщ.●
●Щауэ къэрабгъэ нысащlэ гъэшынэщ.●
●Щэ зыгъэдэlуэфыр щэ я уасэщ.●
●Щэ уэстын, щэ я уасэу зы уэстын?●
●Щэлъахъэ гугъэпсэхущ.●
●Щэм яубыр щэм я уасэщ.●
●Щэху гуэр зимыlэ щыlэкъым.●
●Щэху нэху и жагъуэщ.●
●Щихури лъагэ дыдэу докlей, къыпыкlэlакъым мыхъумэ.●
●Щумыщlэжым деж пэж жыlэ.●
●Щхъухьышхуэри щхъухьщи, щхъухь цlыкlури щхъухьщ.●
●Щхьэ бжыгъэ ныбэ нэщl.(Мыхьэнэншэщ, жыхуиlэщ.)●
●Щхьэкlуэм щlакlуэ уегъэщl.●
●Щхьэлыкlыр зыхьри мэгурым, щхьэл мывэр зыхьри мэгурым.●
●Щхьэм блэр и lэжьэгъущ.●
●Щхьэмыуз пlэщхьэгъ тезагъэрэ?●
●Щхьэщытхъурэ къэрабгъэрэ зэблагъэщ.●
●Щыблэ зауэм и гъунэгъу доуlэбжь.●
●Щыблэр зыгъауэм и lэдэ-уадэщ, щхъухьыр зезыхьэм и lэщlагъэщ.●
●Щыкъу нэщlым хьэри джэдури йонэцl.●
●Щымыгъуэт щыутэх.●
●Щымыуэну акъыл, щымыщlэну былым.●
●Щымыlэм жэр щlыхьэркъым.●
●Щысу ямылъэгъуар теджри псчэуlуащ.●
●Щытхъу мащlэр убым пащlащ.●
●Щытхъу нэхърэ тхъэгъуэ.●
●Щытым еплъи щылъыр гъей.●
●Щыхьэр цlыхуншэ хъуркъым.●
●Щlакхъуэм къудейщ хужумыlэ.●
●Щlакlуэ ныкъуэщlыр щыгъынкъым.●
●Щlакlуэ щlагъым лlы къыщlокl.●
●Щlакlуэр губгъуэ унэщ.●
●Щlалэ гъакlуи кlэлъыкlуэж.●
●Щlэныгъэрэ lэщlагъэрэ зэкъуэшщ.●
●Щlопщыкъурэ пэт жьы еубыд.●
●Щlы фlыцlэм щlэмыхьэжын щыlэкъым.●
●Щlыбырыхь нэхърэ ныбэ хьэлъэ.●
●Щlылъэныкъуэшх мэзытхьэ и жагъуэщ.●
●Щlым и lэфlрэ lэфlым и дагъэрэ.●
●Щlым щlэс хьэмбылуми ишхын егъуэт.●
●Щlымахуэм къэрэкъурэ гъагъэрэ?●
●Щlыпlищ нэщlу ялъытэ: псы зыдэмыт псыхъуэ, къэкlыгъэ зэрымыт губгъуэ, лlы зыщхьэщымыт фыз.●
●Щlыхуэр къэщтэгъуафlэ щхьэкlэ тыжыгъуейщ.●
●Я нэхъыкlэм гухъу накlэр щlеуд.(Зи lуэху зымыщlэжыф яхэткъым, жыхуиlэщ.)●
●Яжьэм фlамыщl и тесэнщ.●
●Ямыубри бэным дэлъри зэхуэдэщ.●
●Ямыгъэlу зэхахыркъым.●
●Ямыгъуэт ятыжыркъым.●
●Ямылъэгъуа бланэ яукlыркъым, зэхамыха псалъэ яlуатэркъым.●
●Япэ нэсым шылъэlуфэ иребзэ.(Япэ нэсым и lуэху докl, жыхуиlэщ.)●
●Япэ узрихьэлlэр шхыныфlщ.●
●Япэрыхь lыхьэфlщ.●
●Яукlыну яшэми, хьэм дзэкъэн хинэркъым.●
●Яхэмыхьэ хабзэншэщ.●
●Яхьыр зыхьын мэлыхъуэ.●
●lэжьэгъу удыныхьщ.●
●lэжьэгъур яукlри, зырыукlитlыр зэбгъэдэкlыжащ.●
●lэзэ къашэри вынэ ирищlщ.●
●lэзэ мыхъу псэхэхщи, молэ мыхъу гуихщ.●
●lэм илъ нэхърэ lум илъ.●
●lэм имыщтэ кlуэдыркъым.●
●lэмалрэ хьилэрэ акъылщ.●
●lэнэкlэ lэфlщ.●
●lэнэм и пэри и кlэри хъуэхъущ.●
●lэнэр щытыху, гъащlэм хабжэркъым.●
●lэрымылъхьэм щlэнэцlурэ и нэцlакlэр щlэгъуащ.●
●lэпхъуамбэхэр зэхуэмыдэ щхьэкlэ зэдошэрыуэ.●
●lэхъуэ и баш и чэнджэщэгъущ.●
●lэщэ дэгъуэр гъусэфlщ.●
●lуэрыlуатэр хабзэжьщ.●
●lуэху зэхэмыбз щхьэгъэузщ.●
●lуэху зи куэд шыгъэджэгу ещl.●
●lуэхь убла зимыlэм lуэху щlа иlэкъым.●
●lуэхур зэрыпщlщ.●
●lуэхур зейм и щхьэджащlэ мэсыс.●
●lугъуэ щагъэум цlыху щопсэу.●
●lупэм напэр и хашэщ.●
лlыжь гупсэхуфl.●
●Щlалэр унэ псоми я малъхъэщи, хъыджэбзыр унэ псоми я нысэщ.●
●Щlэщыгъуэр икlри зэрыукlыр къихьащ.●
●Я выр уэдрэ я хьэр пшэрмэ, унагъуэщ.●
●Я нэхъыжь и унафэ я хъыджэбз екъутэ.●
●Я ныху зэпхащ. (Я щэхуи я нахуи зэрощlэ, жыхуиlэщ.)●
●Я щlалэ щlыбыцэ, я кхъуей цы защlэ.●
●Ял зэхэбгъавэми, я лэпс зэхыхьэнукъым.●
●Ямыгъэпхъу пхъукlэ ищlэркъым.●
●Ямылъэгъуа бланэ къаукlыркъым.●
●Япэ къапшэр уи фызщ, етlуанэу къапшэр уи къанщ.●
●Яубыр бысым щlы.●
●Яхь зэхэпхмэ, уипхъу уфlощl.●
●lэр бутхыпщкlэ, lэбжьанэр пыхурэ?●
●lэтащхьэ илъагъумэ, хъыджэбзыр мэгуфlэ.●
●lыхьлы делэ напэтехщ.●
●lуданэ кlапэр кlэщlщ, жыпlэу хыфlумыдзэ, пщыкъуэр щlалэщ, жыпlэу думыдзых.●

...................
Giriş     1.Bölüm     2.Bölüm     3.Bölüm     4.Bölüm    
5.Bölüm     6.Bölüm     7.Bölüm     8.Bölüm     9.Bölüm
...................