SÖYLENCELERDE ADİGELERIN KÖKENİ – 1УЭРЫ1УАТЭМ ХЭТ АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖАП1Э

TEGULAN Yakup Temel (Тэгъулан Екъуб Тыркум)
12 haziran 2009

 

Cи  къызхэк1ыр  си уарода,

Мысырыжым къыщожэ
Сынежэнти зы выж закъуэи симы1э
Мэш тэк1у зи1эхэр я пэш1эк1эм щ1офие
Жы фий макъ мыгъуэм си гужхэри сыхурех
Иджы къэхъу щ1алэхэм я щхьэр ягъэджыджэ
Я адэр  къэджэлъыджэм къэхуигъазэкъым Ш1эгъуазэ и гъуэгур  бийм я1эрохьэ
Тетым 1эрыхьэхэр жылэм яхуегуашэ
Дэ дзэу демыжэмэ даурэ дежену
Гатхэ уэшхыр къэнжалыщхьау мэджыджэ
Дриджэгуу мы уэрэдыр дымус
Догудзасэри мы уэрэдыр доуыс

Мы уысэр, Хьэпэщ1ей щыщу Иуан Зэкик1э зэджэ зы тхьэмадэ гъуэрэм къызжи1эгъэщ. Л1ыжым, мыр зыш1ып1э шеджауэ  зэригъащ1а зыгуэрэтэкъым, ат1э я нэхъыжхэм къэ1уэтэжыуэ    зэхихауэ щытт. Абы ещхьыуэ, си адэшхуэ Тэгъулан Амырхъан    мыпхуэдэуэ сеупщ1ауэ щтат,

«Хьэждадэ, адыгэхэм я къежэп1эр дэнэуэ п1эрэ,пщ1эрэ?»

«Тхьэ, Мысыррауэ жа1эмэ я къежэп1эр,абы къик1ыуий  Хэкум къэк1уахэуэ, зэрыжа1эмк1э, Мысырым, бэрэбанэм ещхьыуэ зы  мывэ т1орысэ дыдэ гуэрэ щ1ы щ1агъым  къыщ1ат1ык1ати,  ищ1ы1ум, Макъыр  згъэ1ур мырары жери тетт. Адыгэхэр абы    шымпсоуамэ дэнэ къик1ынт ныт1э ар» жи1эри, 1уэры1уэтэжу ар  дэнэ  щысхихами , апхуэдэуэ жэуап   къызитыжат.

Мы 1уэры1уатэхэр къызтражы1ык1ар,Кавказым ик1ыуэ Мысырым  тепщэ щыхъуа Адыгэ  Мэмлукхэра,  хьэмэрэ адэ куэдк1э нэхъ ипэж  къыщежэрэ, ар хэт ищ1эн.Адыгэхэр  къызтехъук1ауэ  тхыдэтххэм  зыхуагъэфащэ щыт Хэтти Къэралыгъуэмрэ Мысырым и Фрауынхэм  я къэралыгъуэр зэлъэхъанэгъущ. Къэралыгъуит1ым, ящ1хэри зэпыту, зэм зэхуэф1у зэм зэхуэ1ейуэ ,зэзэмызэи зауэ зэращ1ыл1эуэ ик1ыи благъэгъэи зэхуа1эуэ щытахэщ, ари мы 1уэры1уатээм и къежэп1э  хъуагъэнк1эи хъунщ.Ит1анэ, щ1эныгъэлхэм къызэрахутамк1э,   ц1ыхуц1ык1ур ипэдыдэ, дыщыпсоу мы щ1ыналъэм къыщыхутар Африкэращ.Ц1ыхухэр  абы  къыщежэщ  Мысыр  жылагъуэми  къызэк1уэц1ырык1хэри дунейм зэтырагъуэшащ.

Сл1о  жыв1эр, 1уэры1уатэр абы нэсыну п1эрэ?