DİASPORADAN YAŞAMINDAN KESİTLER – 1УЭХУР ЗЭЛЪЫТАР

TEGULAN Yakup Temel (Тэгъулан Екъуб,Тыркум)

Лъэпкъ щхьэхуэ куэду зэхэщ1ыхьа Уэсмэн империер зэхэлъэлъа нэужьк1э, жылагъуэр зэрыпхъуак1уэхэм къыщытырахыжым щыгъуэ, абы щыпсоу лъэпкъ зыкъэмынэри (Тырку, адыгэ, курд, хьэрып, нэгъуэш1хэри) зэдэш1ыгъуу зэдэзэуа щхьэк1э, иужьк1э Анадолэ щызтыраухуа къэралыгъуэр зы лъэпкъ закъуэм, тырку лъэпкъым тещ1ыхьэ яш1ыу арат я мурадар ауэ ар 1уэху тынштэкъым, лъэпощхьэпо куэд и1эт. Империерыр, лъэпкъ зэхуэмыдэ куэдрэ дин щхьэ къомк1эрэ зэхэш1ыхьат. Империем и щ1ыналъэм, тырку, курт, адыгэ, апхъаз хуэдэ муслымэн лъэпкъхэм ягъусэуэ, ермелы, грек хуэдэ христиан лъэпкъхэри миллион бжыгъэк1э шыпсоут.

Апхуэдиз лъэпкъыр, бзэр, културэр, диныр даурэ зэхэгъэзэгъа хъунут? Къэралыгъуэр даурэт тырку лъэпкъ закъуэм тещ1ыхьэ щ1а зэрыхъунурт? Мы 1уэху гугъум зы хэк1ып1э къыхуэгъуэтын хуейти мыпхуэдэуэщ проблэмыр зэрызблахар:

Ипэщ1ык1э христиан лъэпкъхэм е1эзэщ1эн хуейт. Уэсмэн империем и к1эуххэм, Анадолэм шыпсоу миллион 1, 5 ермелыр , езанэ дунейпсо зауэшхуэм щыгъуэ бийм телъхьэ хуэхъуахэщ ахэм къэдэщ1ащ жари, илъэс мин бжыгъэ лъандэрэ зыщыпсоу щ1ыналъэхэм ирагъэ1эпхъук1агъэхэти лъахэм ермэлы исыжтэкъым ауэ 1уэхур абык1эи зэф1эк1а хъуатэкъым. Иджыри миллион зыщыпл1 хуэдиз христиан грек къэралыгъуэм ист. Я диныр щхьэхуэти ахэр тыркум щыпхухэгъэтк1ухьыну 1эмал и1этэкъым, ари лъэпкъ къэралыгъуэм къезагъынутэкъым. Абыи зы 1эмал къыхуагъуэтащ. Тыркум ис грекхэмрэ , ипэм уэсмэн империем хиубыдэ щ1ыналъэхэм къина тыркухэр зыпахъуэжащ, мыхэр абы ягъэк1уащ ахэри грекхэр зэрысам кърагъэт1ысхьэщ.

А 1уэхури зэф1эк1ат. Нобэ , мин 20 –м игъунэгъу грекрэ мин зыхыбл хуэдиз ермэлыщ тыркум къинэжар, ахэри 1уэхущхуэтэкъым.
Лэпкъ къэралыгъуэм къемзагъыну ялъытэ христиан лэпкъхэр 1уагъэк1а нэужьк1э , иджы чэзур зейр мытырку муслымэн лъэпкъхэрат. Адыгэ, курт, хьэрып хуэдэ лъэркъхэр зэдэбгъэк1уэн, зэдэбгъэжэн щ1ып1э щэ1этэкъым, ит1анэ ахэр муслымэнхэти лъэпкъым хэгъэшыпсыхьыжаф1э хъунут.

Пэжыр жыт1энщи, узрымытыркур къыхэбгъэщу узщыщ лъэпкъым тещ1ыхьэуэ 1уэху зомыхуа нэужьк1э, тыркум лъэпкъ зэхэгъэж зэик1 щэ1акъым, нобэи щэ1экъым. Датхэнэ лъэпкъми ущырещ, сосялно-экономикэ и лъэныкъуэк1э зыбужынымк1э къыппэуыврэ къыпхэзэрыхь щэ1экъым, хуиту мылкъу зэбгъэгъуэтыфынущ, политикэми, дзэми, нэгъуэщ1 1энат1эхэми хуиту ущыдэк1уэтеинуфынущ, уеблэмэ президэнт нэгъунэ ухъуфынущ. Арщхьэк1э, тыркум нэгъуэщ1 лъэпкъхэри исщ, псоми зы бзэ зы културэ зэрыз я1эщ , ахэри хъумэн егъэф1эк1уэн , къэралыгъуэми абы ехьэл1а 1хэху къищтэн хъуейщ жып1эурэ утыку укъихьэуэ щытмэ 1эхур зэ1ыхьэт, тыркум дыщыщыпсоук1э псори дытыркущ жари ядэртэкъым. Апхуэдэурэ нобэ къэсыхук1э, тыркум ис лъэпкъхэм зыкъомыр хагъэшыпсыхьыжащ, хэтыр зэрыщыту к1уэдыжыным нэсащ, я щэнхабзэр я бзэр я1эщ1эк1ыж хъуащ.

Илъэс зыбгъупщ1 хъуащи, тыркум и демократие щ1ытык1эр зэрихъуэк1ыу, к1уэхуи еф1ак1уэуэ щ1ытщ. Лъэпкъхэм, я бзэ я културэр зэрахъумэным теухуауэ иджыри къэсыхук1э утыкурэ 1эмалрэ ямгъуэтами, нобэ 1этауэ зыхуейхэр къра1уэф, къыжа1эф, къалэжыф.

Куртхэр, я бжыгъэр ф1ыуэ зэрыкуэдым (миллион 15-м щ1егъу) ик1ыи зы географием зэрыщыпсом къыхэк1ыу иджы нэужьк1э хэшыпсыхьыжыну 1эмал и1экъым, пасэ к1асэми зыхуей зэрагъэгъуэтыфынущ. Адыгэхэм я бжыгъэри миллиони 5-м ик1экъым ауэ тыркум и щ1ып1э псомк1э хэгуэшауэ, ик1ыи ф1ыуэ и нэхъыбэр къэлэхэм дэкъухьауэ, бзэ хабзэри я1эщ1эк1ыу щ1адзауэ зэрыщытым къыхэк1ыу я 1уэхур нэхъ гугъущ ауэ ягур щ1агъэк1уэдыни щэ1экъым, иджыри абы къэгъэзап1э и1эщ.
Ауэ ар зэлъытар, адыгэхэм езбы я ерыщагъращ.