UZUNYAYLA’DAN BİR KAN BEDELİ HİKAYESİ – АСЛЭН ЛЪЫ УАСЭ

ТЭГЪУЛАН ЕКЪУБ (TEGULAN Yakup Temel)

Л1эныгъэр сыт щыгъуи гу1эгъуэщ ауэ ар сыт хуэдизу  уи жъагъуэ  пщ1ыми, хамэ ил уызыркъым зэрыжа1эм хуэдэуэ, а гукъеуэр, л1ам и 1ыхьлы, и благъэ и ныбжэгъухэм зэрызхащ1эм хуэдиз хъунукъым. Лъэгур увыгъуэ увыгъуэщи дунейр тетыгъуэ тетыгъуэщ,  мыл1эжын къигъэщ1акъым  ауэ апхуэдэ ц1ыхухэр щэ1эщи, ахэм я л1эныгъэр, л1ар зейм имзакъуэу, лъэпкъым зэрыщыту я зэхуэдэ  хэщ1ыныгъэщхуэщ.

Дыгъуэспшыхь, ди ныбжэгъу гуэрэм ядей шысак1уэ дахуэк1уат. Аурэ дуэршэру дызхэсу, ди ныбжэгъум  я къуажэм щыщ зы л1ыж гуэрэм и гугъу ищ1ащ. Ди ныбжэгъур,  зы тхьэмахуэ ипэ  я къуажэ к1уэжауэ и къуэжэгъу а л1ыжыр игъэуэршэр пэтрэ сымаджэ къахъури и куэщ1ым ил1ыхьэт. Зэрижи1эмк1э, зэрыл1энур и гум ищ1ауэ, и щ1алэри къэригъэшэжат ауэ дохтырми яхуэк1уэн имыдэу и унэм заригъэшэжщ и п1эм ягъэгъуэлъыжри, куэди демык1ыу и псэр пык1ат.

Л1ыжым и ц1эр Нэхущ Хьэбейщ. Мы л1ыж 1уыщым, а 1эгъуэблагъуэм къыщыхъу къыыщыщ1хэр зэригъэц1ыхуыурэ итхыу, итхахэри  жылэм яхуи1уэтэжу псоуащ. Апхуэдэуэ хэгъуэгум ц1ыху дапщэ къинэжа?Зэрызыхэщ. Мыпхуэдэ зыл1ыр дунейм ехыжыныр, и къуажэ и унагъуэ закъуракъым зи жъагъуэ хъур, ат1э, адыгэ псомк1эи гущ1эхьэщ. Абы ищ1э адыгэ псалъэк1эр къык1элъык1уэ щ1эблэм лъэм1эсмэ, ар лъэпкъ щэнхабзэмк1э егъащ1эм  къып1эрымхьэжыну щыт хэщ1ыныгъэшхуэ мэхъу.

Иджы зи гугъ тщ1ыну Аслэн ЛЪы Уасэ 1уэры1уатэр, щыл1эну пшэхьэшхьэм, мис мы л1ыжым ди ныбжъэгъум къыхуигъэхъэхъыбарыжат: Мы 1уэрыу1атэр къыщыхъуа Аслэнхьаблэ къуажэр, адыгэхэр Хэкуым къыщик1а дыдэхэм яухуа къуажэхэм ящыщ зысщ. 1уэры1уатэм хэт къуажэм и ц1эр къызтыражы1ык1а  Аслэнхэ, къуажэм я псалъэ щыпхырык1ыуэ, жъэ1эри ирагъэщ1эфу, лъэпкъ хъарзынэ, лъэпкъ лъэрыхьхэм ящыщт. Мы 1уэры1уатэм и къежъэп1э хъуа а махуэм, Аслэнхэ я къуэ гуэрэрэ,  а къуажэм дэс Дыщэк1хэ я зы  щ1алэ, сытым къыхэк1ами к1уэ хэт ищ1эн, зэщохьахэри зозауэ. Зызрадзри зэк1ырамшыжыфуурэ зыкъомрэ зэрогъакъу. Иужъым, зэк1ырамшыж щ1ык1э, Аслэнхэ я ш1алъэм,  мыдрейм и 1эблэ лъэныкъуэр сэшхуэк1э къреупщ1этэх. Иужък1э,  у1эгъэр хъужа щхьэк1э, Дыщэк1хэ я щ1алэм и 1эблэр мыхъужыпэу 1эшэу къонэ.

Иджырэкъэсыхук1э къэхъуахэм бгъэщ1эгъуэну щ1агъуэ хэлъкъым, мывэ зэхэлъым мывит1 пэтрэ зоундэк1, щ1эл1агъэ жыхуа1эращ, щ1алэгъуалэр зыщыхьэнщ зэк1уыжынщ, арщхьэк1э 1уэхур абы къыщынакъым. Бзаджэ къызхэмык1 унагъуэ щэ1э, зэрыжа1ыжымк1э, екъуэншэк1ар езырауэ щытыуэ, зэзэуа щ1алэми фэбжи трилъхьэ пэтрэ, Аслэнхэ я щ1алэр Дыщэк1хэ ейм щхьэк1э дэнэ щыхуэзэми ц1ыхухэм я пащхьэм деж,

”Ей 1эшэ, сл1о уи 1эм къыщыщ1ар?Пауп1щыпэн хуеят! ”   щыжи1эурэ ауэн къищ1ыурэ къыщ1энак1э зэпыптт. Мыдрейми,

”Уэ къуэш уи жъэр уыбыд,  уывэ1э,  зэ щыгъэтыж” жи1э щхьэк1э,  щ1алэ бзаджэр уывэ1эжтэкъым.

Зэкъым т1окъым, Дыщэк1хэ я щ1алэр уэрамым дэмхьэжыф, ц1ыхум яхэмхьэжыф хъуат. Хуэмшэк1ыжыххэ щыхъум, аргуэрэу ауан кыщищ1 зэ,  и нэм лъы къытелъэдауэ Аслэнхэ  я щ1алэм занщ1эу зыхуигъэзэри,

”Ейй блэ зрауык1 баш!, иджы нэужък1э зэхуэсакъыж, хьэфэмэлыфэ уызщ1ынущ уэ!” же1э,  къытогуауэри, занщ1эу йокъу йоуэри    йозэж.

Абдэжым  къыщыщ1эдзауэ, Дыщэк1хэ я къуэм,  Аслэнхэ я щ1алъэр губгъэм изакъуэу къызрыпэщ1эхуэным ещэуэ хуожъэ. Дыщэк1хэ ейм,  мо ауэм къызрищ1ар апхуэдизк1э  гущ1эхьэ,  напэ тех хуэхъуати, илъ имщ1эжмэ дунейм темтыжыфын хуэдэуэ къыщыхъурт. И бий щ1алэм щхьэк1э,  изакъуэуэ губгъэм зэ къизгъуэтатэмэ жи1эурэ куэдрэ абы  ещащ. Аурэ зыпэплъэ махуэр къэсщ. и мурадыр игъуэ къхуихуэри, Аслэнхэ я щ1алэм зырик1 дэмщ1ыгъуу зэхуегъазэ. Бгъэдэхьауэ еуэн щыхъум,  емыуэ ипэ,

”1щэ бы1ыгъ?”

Жери щ1оуыпщ1э. Модрейм,

”С1ыхъкъым”

Щыжи1эм ” Адыгэгъэм, 1эщэ зым1ыгъ л1ы иуык1 и хабзэкъым” жери 1уок1ыж.

ДыщЭк1хэ я щ1алэр, иук1ыну мурад зхуи1э щ1алэм зэрэт1орэ изакъуэу зыхуигъэза щхьэк1э, адрейм 1эщэ и1ыгътэкъыми емыуэу къы1ук1ыжащ. Абдежым къыщыщ1эдзауэ, модрейм мурадыф1 къызрыхуимы1эр къыгуры1эри 1эщэншэу къимк1ухьыуэ щ1идзащ.

Зы махуэ гуэрэ сытми,  щ1алит1ыр аргуэру,  т1уми 1эщэ я1ыгъу гуыбгъэм щысхозэ. Язакъуэт.

”1Эщэ бы1ыгъ?”

”С1ыгъым тхьэ!”

”Ныт1э зыхъумэ!”

Аслэнхэ я щ1алэри ф1ырыф1к1э пхуик1уэтынутэкъым. Зэпыщ1оуывэхэ. Дыщэк1хэ я щ1алэм куэд щ1ауэ и гур хуэплъти, зауэм нэхъ хузэпэщт. Зауэр куэдыщэ ик1уакъым. Аслэнхэ я щ1алэр уэ1гъэ хьэлъэу къоук1урий, щ1агъуэ дэмык1ыуи и псэр пок1.

Жэшыбг хъууэ, ц1ыхухэр ип1э изэгъэжа нэужъ, иук1а щ1алэр и щым къытырипхэжри, Аслэнхэ я пщ1ант1эм къыдеутыпщхьэж.

Нэху мэщ. Аслэнхэ, я щ1алэр яук1ауэ я сэрейм къыщагъуэтыжым, дунейр зэтыра1этэ, сабэр драпхъей кърапхъых,

”Ар дауэ дэ къыдащ1эф1ын!” жа1э.

Зыщ1ар яц1ыхунтэкъэ, мо л1ит1ым языхуаку къыдэхъук1ам, зэхуа1э гужъгъэжъым ц1ыху зыкъэмынэри щыгъуазэт. Ауэ абыи нэмысу, зыук1а щ1алэм,  Аслэнхэ я щ1алэр зыук1ар езырауэ зэрыщытыр, зыдэк1уам къыщы1уэхуащ.

1уэхур зыблэхын хуейт. Ипэм,  Узуняйлэ адыгэ къуажэхэм, щыхъури мащ1эт ауэ, л1ыуык1 хуэдэуэ зыблэхыгъуейуэ зы гузэвэгъуэ къыщыхъумэ, ар хэ1ущ1ы1у ямыщ1у, ик1ыи къэралыгъуэм намыгъэсу,  езбы языхаку щызблахыуэ щтащ. Хэхьэхэк1 зи1э ц1ыху пажэхэр зэхуэсти 1уэхум унафэ тращ1ыхьт, ящ1э унафэми зырик1 ф1эк1ыфыртэкъым. Мы 1уэхум и зэблэхык1эри апхуэдэ хъуащ. Хьэдэр щ1алъхьэ нэужъ куэд дэмык1ыуэ, къуажэ псом л1ы зэрызт1орыт1 къэхэк1ри Аслэнхьаблэ щызхуэсахэщ.

1уэхум и зэблэхык1э хъуар мыращ:

Аслэнхэ зыкъомрэ,   Дыщэк1 лъэпкъыр зэрышту за1эту къуажэм зэрыдагъэ1эпхъук1ыным трагъэчыныхьэщ.

”Лэпкъыр зэрыщыту къуажэм дрек1” жа1э  ф1эк1а абы ф1агъэк1ыртэкъым. Гупыр махуит1 щы зэхэта нэужък1э, 1уэхум теухуауэ мыпхуэдэ унафэ утыку къралъхьэщ,

”Дыщэк1хэ,  лъы уасэуэ,  шырыкъуит1 из дари сахуэ зэрагъэпэщынурэ Аслэнхэ иратынущ. Ауэ ар яхузф1эмык1ыуэ щытмэ, зэрылъэпкъыуэ за1этынурэ къуажэм дэк1ынухэщ.”

Мы жылэ унафэм лъэпкъитри 1эмалыншэуэ дэк1уэтэнут_аразы техъуэнут-, а унафэм ф1эк1ып1э и1этэкъым.

Арщхьэк1э дышэк1хэ иджы вакъэ зэв иувахэт, е жыхуа1эм хуэдиз дари сахуэ къэгъуэтынут, мыхъумэ къуажэр ябгынэнут.

Аслэнхэи, дари сахуэр, мащ1э дыдэуэ щытми зэрыгъуэтыгъуейр, абы папщ1э ауэ къызэрымык1уэу дари куэд бгъэсын зэрыхуейр яц1ыхунтэкъэ, яц1ыхт, ар, щ1ыпаубыдари шэч хэмылъу  арат.

Абы иужък1э хъуар къывгур1уа къыщ1эк1ынщ, Дыщэк1хэ, шырыкъуит1 из дэнэ къэна, зы 1эмыщ1э жып1эмэ дарисахуэ ягъуэтакъым. Жылэ унафэ зэрыф1эмк1ыфынухэри нахуэти, зэрылъэпкъыу къуажэм дэ1эпхъук1ахэщ.

А махуэм къыщыщ1эдзауэ,  зыгуэрэм мыхъун зыгуэрэ къышыраухыл1эм деж, абы щхьэк1э, сл1о аслъэн лъы уасэ хъуа? Жэ1э.