Тэгъулан Екъуб (TEGULAN Yakup Temel)
1964 гъэм и бжыхьэк1эт. Шаркъышлэ къалэм гъавэ тшэну гъуэгъанэ дытехьат. Гъуэгущхьэ1ум къуажэ куэд уыщрихьэлэт, хьэм тетыгъуэти къуажэ гъунэхэм самэшхуэхэр тету щыболагъу. Дивхэм я мэкъумылэр зэрылъ къэпхэм зыр нэщ1 хъуати.
”Ск1уэнщи зы чэс къэп къыхэсхынщ” жыз1эри зы къэп нэщ1 къэсщтэри чэс самэшхуэ гуэрэ деж с1уыхьащ. Чэсыр къизубауэ къэзгъэзэж пэтрэ, зы пшынэ 1эгу макъ зэхызох. Макъыр къызди1ук1ыр, дызшыувэ1эм игъунэгъут. Си хьэлъэр ди т1ысып1эм сыгъуври, си гъусэ Къэрдэн Амыр зы мэсэс к1ыхь и1эти абы сылъыхъуэу соувыж. 1эуэлъэуэ макъым Амыр къигъэушащ.
”Сл1о уанэ махуэрэ , уыслъыхъуэр?”же1э.
”Уи мэсэсыр дэнэ щ1э1э?”
”Сл1о епщ1энур?”
”Джэгум ск1уэнути, хьэ сыт къызхуэзэмэ жызори аращ”
”Къэ1э уи п1э ис, сыт джэгу иджы зиунагъуэрэ, зыгуэрэ къоджэбэуэнущ!Уэ шыпщ1эн щымы1э джэгум.”
”Уэлей къызэджэбэуэнми ск1уэнумэ”жыз1эри хуэздакъым.
”Моуэ, гуфэмрэ шэрхъымрэ языхуаку тегъэлъэдауэ телъщ.”
щыжи1эм, ск1уэщ мэсэсыр къэсщтэри сежащ. Сынэсри, джэгур зейхэм я пщ1ант1эм хьищхуит1 1улът. Сыдагъэхьэну 1эмал яхуэзгъуэтакъым. Хит1ыр пщ1ант1эм къыдэк1ыркъым ик1ыи сэри сыдагъэхьэркъым!Сынац1эурэ куэдрэ с1утащ. Щымыхъум.
,
”Тхьэ сгъэ1э мыхъуну, зы мэкъу 1эпл1э схьынщ выхэм ястынщи сыгъуэлъыжынмэ” жыз1эри ар си мураду мэкъуэщым сихьащ, ауэ зы лъэныкъуэк1эи гъунэгъу дыдэу, пшынэ макъ дахэ къо1у. Мэкъуэщым сык1уа щхьэк1э мэкъу илътэкъым, мэкъу хьэвэр унашхьэрат зэдытелхыр. Сыдэк1ри, мэкъур унащхьэ гъунэ1уфэм телъу къыщ1эк1ащ. Егъащ1эми абы хуэдэуэ мэкъу хьэвэ быдэи слъэгъуатэкъым зи унагъуэ бэгъуэным!Мэкъу к1апэм тэк1у къыпыстхъыурэ, къыпытхъахуэхэри мо жэш к1ыф1ым сымлъагъуурэ унащхьэ гъуанэм шыстеслъхьауэ къыщ1эк1ащ!Сынек1уэк1 сыкъе1куэк1 пэтрэ, зытелъсхьэ мэкъум сыщытеуывэм, сызф1эту занщ1эу гъуанэм сихуащ. Сеплъри, зы лъэныкъуэк1э хъыджэбзхэр к1эрытщ, адрей лъэныкъуэк1эи щ1алэхэр щытщ!Джэгу к1уэц1ым сихуат. Абдэжым хъыджэбзхэр зыкъэщтэк1эк1э къэщтати ущ1эмупщ1э. А лъэхъанэр Лихэрэ Мыдхэрэ щызэзэуа зэманрати , фоч зы1ыгъ л1ы зыт1ущ джэгур яхъумэуэ щ1этхэт. А чэтым щ1эт л1ыхэм , Мыд Зиярэ нэгъуэщ1 зыы щ1алэ гуэрэи яхэтт. Зия зигъэхъеятэкъым ауэ адрей щ1алэм фочыр къипхъуатэри къызэуэну зигъэпсат. Ауэ ц1ыхухэр 1увыу зэхэтти зэк1э зэтеувэ1эхэщ. Тхьэм ещ1э, жын шейт1ан сыту сакъыф1эщ1а, зыми уэздыгъэр къыф1ихыуэ къызэплъыфыртэкъым дзыхь ищ1у, я псэр апхуэдизу пык1ати псоми!Иужьым щыгъын хуж щыгъыуэ зыл1 къахэк1ри,
”Узы1исыр сыт уэ?” же1э.
”Сыт сызы1исын, сц1ыхущ” жызо1э.
”Сл1о ныт1э абык1э укъищ1ипк1ар?” жа1э.
”Уэлей мырам мырам сищхьэ кърик1уар” жызори хъуахэр яхузо1уатэ.
”Фыублэж джэгур” жари сэри щ1алэхэм дежк1э сыхагъэуващ. Сыук1ытащ ик1ыи сытым хуэдэу сыук1ыта, ауэ хъунур хъуат.
”Джэгум хэтын щ1алэ уигъусэмэ, дыгъэк1уэнщи къедгъэшэнщ” жа1э.
”Сигъусэщ” щыжыз1эм щ1алэ тэнит1 къраджэри ирагъэжэри си гусэ Амыр идеж ягъэк1ури ари кърагъэшащ. ”Хьащ1э щэ1эщ” жари дыкъэгъэфащ, нэху щыхуи джэгум дыхэтащ. Джэгур якъутэжа нэужьк1эи языхэз дригъэблагъэри бысым тхуэхъуащ, пшэдджыжми дыкъезэжащ.