DİL EĞİTİMİ     19. Ders
SHOQUL İlhan Aydemir
.........................................................................................................................................
.........................................................................................................................................
ЕПЩlЫКlУБГЪУАНЭ ГУКЪИНЭ
ON DOKUZUNCU DERS

Лъэхъэнэм Теухуа Къэупсэлъыкlэхэр.

Лlэщlыгъуэ дапщэ къэдгъэщlами,
Сэлам къытпежьэм дэ етхынщ.

Кlыщокъуэ Алим

Лlэщlыгъуэ - asır
Илъэсищэр зы лlэщlыгъуэ мэхъу.

Гъэ -- Илъэс ------- yıl , sene

Щlымахуэ -- kış
Гъатхэ ------ ilkbahar
Гъэмахуэ -- yaz
Бжьыхьэ -- sonbahar

Мазэ - ay

Махуэ щэщlыр зы мазэщ.

Щlышылэ - ocak
Мэзае - şubat
Гъэтхэпэ - mart
Мэлыжьыхь - nisan
Накъыгъэ - mayıs
Мэкъуэуэгъуэ - haziran
Бадзэуэгъуэ - temmuz
Шыщхьэlу - ağustos
Фокlадэ - eylül
Жэпуэгъуэ - ekim
Щакlуэгъуэ - kasım
Дыгъэгъазэ - aralık

Тхьэмахуэ – hafta

Зы тхьэмахуэр мэхуибл мэхъу.

Блыщхьэ - pazartesi
Гъубж - salı
Бэрэжьей - çarşamba
Мэхуэку - perşembe
Мэрем – Cuma

Щэбэт - cumartesi
Тхьэмахуэ - pazar

Махуэ - gün

Зы жэщрэ зы махуэм щхьэкlэ махуэ жыдоlэ
Зы махуэр сэхьэт тlощlрэ плlы мэхъу.

Жэщ - gece
Махуэ - gündüz
Пщэдджыжь - sabah
Шыджагъуэ - öğlen
Пщыхьэщхьэ - akşam
Жэщныкъуэ - gece yarısı
Кlэху - şafak

Сэхьэт - saat

Зы сэхьэтыр дакъикъэ хыщl мэхъу.
Сэхьэт ныкъуэр дакъикъэ щэщl мэхъу.
Сэхьэт плlанэр дакъикъэ пщlыкlутху мэхъу.

Дакъикъэ - dakika
Сэхьэт ныкъуэ - yarım saat
Сэхьэт плlанэ - çeyrek saat
Блокl - geçiyor
Иlэщ - var

Вэсмахуэ - evelsi gün
Дыгъуасэ - dün
Нобэ - bugün
Пщэдей - yarın
Пщэдеймыщкlэ - öbür gün

Ищыпэгъэ - bir önceki yıl
Нэгъабэ - geçen yıl
Мыгъэ - bu yıl
Етlэнэгъэ - gelecek yıl
Ещэнэгъэ - bir sonraki yıl

Лъандэрэ - denberi
Кlэ - kadar
Нэсыху - ekadar
Нэсыхункlэ - o zamana kadar
Лъэхъэнэ - zaman
Щыгъуэ - zaman
Игъуэ - zamanı
Имыгъуэ - zamansız
Игъуэджэ - uygun olmayan zaman.
Пlалъэ - mühlet, zaman aralığı

Мыlэрысэм игъуэ мыхъуу
И мэ lэфlыр къыпимых.
Лъагъуныгъэр гум нэсакъым
Жыпlэу си псэр сlэщlомых.

Мы усэ дахэр гукlэ зэвгъащlэ.
Уэрэдууи къыжыфlэ.

Зафэррэ сэрэ нэгъабэ дызэрцlыхуащ.
Нэгъабэ дэнэ ущыlа?
Нэгъабэ Бурса сыщыlащ.

Нэгъабэ и щыпэгъэм Истанбул сыдэсащ.
Мыгъэм уафэхэр дахэу макlуэ.
Мыгъэм си мэктэбыр сыухынущ.
Етlэнэгъэ Зафер сыдэлэжьэнущ.
Схузпыгъахуэм етlэнэгъэ Налъшик сыкlуэнущ.

Дыгъуасэ дэнэ ущылэжьа?
Кызылай сыщылэжьащ.

Пщэдей дэнэ укlуэну?
Еджапlэм сыкlуэнущ.
Пщэдей уэшх къешхынущ.
Нобэ уафэр уфащ.
Нобэ сыту махуэ дахэ.
Нобэ шыджагъуэ нэужьым уэшх къешхыну жаlэ.
Пщэдей уэс къесынк!эй хъунщ.

Мыгъэ бжьыхьэм къуажэхэм уэфышхуэ къыщехащ.
Мыlэрысэхэр зыхикъутащ.
Унэхэм я щхьэгъубжэхэр кърикъутэхащ.

Уэшхыр жьыгъейуэ къешхырейщ.
Пшагъуэр щlыгум техьэрейщ.
Къуэлэбзухэр мэлъэтэж.
Тхьэмпэр жыгым полъэлъыж.

Мы усэр гъэм и дэтхэнэ лъэхъэнэм тепсэлъыхьрэ?
Мыгъэ бжьыхьэр уэшх уэлбанэу блэкlыным ещхь хъуащ.

Нобэ сыт махуэ?
Мэхуэкущ.
Щэбэт махуэм къэкlухьакlуэ дыкlуэнщ.
Тхьэмахуэ махуэр зыгъэпсэхугъуэ махуэщ.
Ди унагъуэр а махуэм ди унэ дисыжщ.

Дэтхэнэ мазэм дит?
Гъэтхэпэ мазэм дитщ.
Мазэм и дапщэ?
Нобэ гъэтхэпэ мазэм и пщlыкlутхущ.

Дэтхэнэ илъэс дызитыр?
Минитlрэ и гъэм дитщ.
Дэтхэнэ гъэрат мэктэбыр уэ къыщыбухар?
Минрэ щибгъурэ бгъущlрэ бгъу гъэрат.

Блэкlа лlэщlыгъуитхур адыгэхэмкlэ хэплъэгъуей хъуащ.
Ауэ дызит лlэщlыгъуэм зыкъэтщlэжыну согугъэ.

Жэщ ныкъуэ хъуауэ уэрамым сыт дэпщlыхьыр?
Щысакlуэ сыкъокlыж.


Пщыхьэщхьэ синемам дыкlуэн?
Хьэщlэ сиlэщ. Сынэкlуэфынкъым.

Шыджагъуэ нэужьым сэхьэтыр тlум дакъикъипщl хуейуэ
Кызылай дыщызхуэзэнщ.

Сэхьэтыр дапщэ хъуа?
Зырэ ныкъуэрэщ.

Сэхьэтыр дапщэупlэрэ?
Сэхьэтыр щым плlанэ блокl.

Сэхьэтыр дэнэ нэса?
Пщlым плlанэ иlэщ.

Пщэдджыжьхэм сэхьэт дапщэм унэм ущlэкlрэ?
Бгъум дакъикъипщl блэкlыу сыщlокl.

Сытым щыгъуэ унэм укъекlуэлlэжрэ?
Сэхьэтыр блым дакъикъипщl иlэу унэм сыкъокlуэж.

Зы махуэм сэхьэт дапщэ улажьэрэ?
Сэхьэтий солажьэ.

Кызылай сыщыппоплъэ укъэкlуэфын?
Сэхьэт ныкъуэкlэ абы сыщыlэщ, къыспэплъэ.

Илъэс дапщэ лъандэрэ Анкара удэс?
Илъэс пщlыкlутху хъуауэ Анкара сыдэсщ.
Илъэс минрэ щибгъурэ бгъущlрэ й гъэ лъандэрэ мыбы сыдэсщ.

Мы lуэхум узэрхуежьэрэ сыт хуэдьз хъуа?
Илъэсиплl хъуащ.
Илъэсиплl лъандэрэ мыбы солэжь.

Мазэ махуэ къэс и еджап!эм мак!уэ.
Абы сэхьэтихкlэ щолажьэ.
Сэхьэт ныкъуэкlэ и унэм къосыж.
Ешха ефа иужь зы сэхьэт зегъэпсэху.
Сэхьэтитlрэ ныкъуэк!э и унэ лэжьыгъэхэм иолэжь.
Жэщ къэси сэхьэтибгъук!э мэжей.

Зафер и щхьэгъусэр здещтэри гъэмахуэ къэс и къуажэ мэкlуэж.
Абы зымазэкlэ зыщегъэпсэху.
И нэгу зрегъэужь.
И благъэ и пыхъуэ пышэхэм яхоплъэри Анкара къегъэзэж.
Щlымахуэми Анкара дэсщ.
Анкара и щlымахуэр щlыlэу блокl.
И гъэмахуэ хуэкlуэхэм идей гъатхэкlэхэм дахэ мэхъу.
Жыгхэр къогъагъэ, щlылъэр къоущхъуэнтl.
Гъэмахуэм къуажэр нэхъ дахэ мэхъу.


Мы Дунейр Сэращ Зейр

Дунейр
Сысейщ,
Сысеймэ, ар ууейщ.
Сабийгъуэу дыгъэ щыгъэр
Тыгъэ псом ялейщ.
Уэрщ зи фlыщlэр,
Си хэку дыщэ
Нобэ ди дунейм.
Ди пщэдейм и дыгъэ гъуазэр
Дэ къыдогъэуш,
Сабийгъуэр
Гъащlэ набдзэщ,
Псэщlэм и тхьэгъушщ,
Дэ ар къыдогъэуш.
Дунейр
Сысейщ,
Сысеймэ, ар ууейщ.
Къэжэр Петр


Гъатхэ Пщэдджыжь

Дыгъэм пшэплъыр
Лэгъупукъуу къещlыр,
Нэпсхэр щызэпеш.
Дыжьын ткlуэпсу
Дзэлхэм гулъыр къащlыр.
Бжэндэхъу цlыкlум
И уэрэд къреш.
Псы хьэлыгъуэм
Пlащlэу зеутхытхэ,
Цlыкlухэм я псы щхьэлыр
Кърехуэкl.
Къеблэгъащи
Къазшырыфэ гъатхэр,
Гулъытэншэу
Уэри блумыгъэкl.
Къэжэр Петр


Илъэсыщlэ Уэс

Къосыр, къосыр
Къос уэсыщlэ,
Дыхэхьащи илъэсыщlэм.
Феплъыт, феплъыт
Мы щlымахуэм,
Махуэ дыдэр кlыхь ищlащ.
Уэсыр къосри
Жэщри махуэщ.
Ар зи фlыщlэу
Илъэсыщlэм
Жэщри махуэу къыздихьащ.
Къэжэр Петр.

Мы усэ дахэхэр гукlэ зэгъэщlапхъэщ.


Лэжьыгъэр зыхэзылъхьар Щокъул Илхьэнщ.
.........................................................................................................................................
1.Ders      2.Ders      3.Ders      4.Ders      5.Ders      6.Ders      7.Ders      8.Ders      9.Ders      10.Ders
11.Ders      12.Ders      13.Ders      14.Ders      15.Ders      16.Ders      17.Ders      18.Ders
 19.Ders      20.Ders      21.Ders      22.Ders      23.Ders      24.Ders      25.Ders
      26.Ders      27.Ders    28.Ders      29.Ders      30.Ders
.........................................................................................................................................