DİL EĞİTİMİ     21. Ders
SHOQUL İlhan Aydemir
.........................................................................................................................................
.........................................................................................................................................
ТlОШlРЭ ЕЗАНЭ ГУКЪИНЭ
YİRMİ BİRİNCİ DERS

Уафэм И Шытыкlэхэм Теухуауэ

Зэгъэшlапхъэ псалъэхэр

Хуабэ - sıcak
Щlыlэ - soğuk
Щlыlэтlыlэ - serin

Гъуркl - kuru
Псыlэ - ıslak
Псыlэтlыlэ - nemli

Щlымахуэ - kış
Гъатхэ - ilkbahar
Гъэмахуэ - yaz
Бжьыхь - sonbahar

Уафэ - gökyüzü
Уэфэгу - uzay
Уэгу - gök
Жьы - hava

Пшэ - bulut
Пшагъуэ - sis
Пшэплъ - akşam veya sabah oluşan bulut kızıllığı
Уафэ гъуагъуэ - gök gürültüsü
Шыблэ - yıldırım
Уафэ хъуэпскl - şimşek
Лэгъупыкъу - gök kuşağı

Уэшх - yağmur
Уэс - kar
Уэф - dolu
Уэсэпс - çiğ
Жэп - kırağı
Ткlуэпс - damla

Къешхын - yağmurun yağması
Къесын - karın yağması
Къехын - dolunun yağması
Кърипхъыхын - kar atıştırması
Къепсэпсэуэн - yağmur çiselemesi
Жьы къепщэн - rüzgarın esmesi

Уэфl - açık hava
Уфа - kapalı hava
Уэшх уэлбанэ - yağmurlu
Уае - fırtına
Жьапщэ - rüzgar
Уэс укхъуэ - kar fırtınası
Уэс утэ - çığ
Псыдзэ - sel
Уэс щхьэфэ - don
Шыц уэс - taneli kar

Псы - su
Мыл - buz
Бахъэ - buhar
Щтын - donmak
Выжын - erimek

Уэсылl - kardan adam
Уэс lэшкlэ - kar topu
lэшанэ - kayak
lэжьэ - kızak (eşya yük taşıma kızağı veya üzerine
oturularak kayılan kızak)

Псыф - ıslak
Упсыфын - ıslanmak
Цlынэ - ıslak (içine su çekip kendini bırakması
ekmeğin toprağın su çekip ıslanması
yani kendini bırakması.)

Щхъуэ - mavi
Къащхъуэ - gök mavisi
Щхъуантlэ - yeşil
Гъуэжь - sarı
Гъуабжэ - gri
Хужь - beyaz
Фlыцlэ - siyah
Плъыжь - kırmızı

Мазэ - ay
Дыгъэ - güneş
Вагъуэ - yıldız


Уэшхыр жьыгъейуэ къешхырейщ.
Пшагъуэр щlыгум техьэрейщ.
Къуэлэбзухэр мэлъэтэж.
Тхьэмпэр жыгым полъэлъыж.

Упщlэхэр

1 - Мы усэр илъэсым дэтхэнэ и лъэхъэнэм тепсэлъыхьрэ?
2 - А лъэхъэнэм теухуауэ сытхэр нэхъ къыщыхъурэ?
3 - Къуэлэбзухэр дэнэхэм лъэтэжу фигугъэ?
4 - Къулэбзухэр щlэлъэтэжым и щхьэусыгъуэр сыт?

Къыпэкlуэхэр

1 - Усэр ..................... топсэлъыхь.
2 - А лъэхъэнэм нэхъыбэlуэу уэшх ................., пшагъуэр щlыгум .................... .
къулэбзухэри ...................... .
3 - Къулэбзухэр .................... щlыпlэхэм мэлъэтэжхэ.
4 - Щlымахуэр къохьэ, уафэхэр ................... хъууэ щlедзэри аращ.

Бжьыхъэ жэпым дыгъэр тепсэм
Ар уэсэпсу мэкlуэдыж.
Фlыуэ слъагъум сыlуплъамэ
Си гукъеуэр сщхьэщокlыж.

Упщlэхэр

1 - Дэтхэнэ лъэхъэнэра жэп къыщехыр?
2 - Дыгъэр жэпым тепсэм сыт хъужрэ?

Къыпэкlуэхэр

1 - Жэпыр ................. къох.
2 - Дыгъэр жэпым тепсэм ................ мэхъури ................. .

БЖЬЫХЬЭР КЪИХЬАЩ

Жаным БОРИС

Бжьыхьэ мазэр къытхуихьащ.
Пшагъуэр щlыгум къытехьащ.
Къуэлэбзухэр мэлъэтэж,
Щlыпlэ хуабэхэм мэкlуэж.

Къущхьэхъу къикlыу къру инхэр
Уэгум иту мес мэкlуэж.
Колхоз lэщхэу мэл былымхэр
Пшэр хъужауэ къытхуокlуэж.

Губгъуэй мэзи хуэгъуэбжафэщ,
Бжьыхьэ уафэр уэлбэнафэщ,
Жыгхэм пщlащэр полъэлъыж.
Цlыкlухэр школым зэдокlуэж.

Мы усэр гукlэ зэвгъащlэ, дахэу фыкъеджэ.

Упщlэхэр

1 - Бжьыхьэ мазэм сыт къытхуихьар?
2 - Пшагъуэр сытым и гущlыlум техьэрэ?
3 - Къуэлэбзухэр дэнэхэм лъэтэжхэрэ?
4 - Кърухэр дэнэ къикlыжу дэнэ кlуэжхэрэ?
5 - Губгъуэхэм мэзхэм я плъыфэр бжьыхьэм сыт хуэдэ?
6 - Бжьыхьэм жыгхэм я пщlащэхэм ящхьэ сыт кърикlуэрэ?

Мы упщlэхэм къыпэкlуэжхэм ныкъуэу къэнахэр хэфтхэж.

Къыпэкlуэхэр

1 - Бжьыхьэ мазэм .................. къытхуихьащ.
2 - Пшагъуэр .................. къытохьэ.
3 - Къуэлэбзухэр ................ щlыпlэхэм .................... .
4 - Кърухэр ..................... къокlыжри ............... щlыпlэхэм .............. .
5 - Губгъуэхэр мэзхэр бжьыхьэм ................................ .
6 - Пщlащэр жыгхэм ....................... .

Уафэ къащхъуэр эи щхьэщыгу,
Щlылъэ щхъуантlэр зи утыку,
Гъатхэ гуапэ, дахэкlей!
Лъахэр фlыгъуэм иегъэсей.

1- Уафэ къащхъуэр лъахэм и щхьэщыгущ.
2 - Щlылъэ щхъуантlэр лъахэм и утыкущ.
3 - Гъатхэ дахэр лъахэм хуогуапэ, иодэхащlэ.
4 - Лъахэри фlыгъуэу щыlэм иагъэсей.

ЩlЫМАХУЭ
Щоджэнцlыкlу Алий

Щхьэхынэу пшагъуэбэм щlы напэр иеуфэ,
Чэф щlыкlэщ жыг тхъуахэр щыгъэхум зэрешэ.

Псы уэрхэр lущащэу мыл кхъуафэм щокlуасэ,
lэсэхэщ, нэщхъейхэщ, мылищэр зэрахьэ.

Щlы тафэр зэхуэдэу бжьэхуцкlэ хуэпащ.
Вындыжьхэу макъейхэр шыгъуэгум епщlащ.

Щlы щхьэфэр къузащи лъэбакъуэм дощэlур,
lэжьэлъэр щытежкlэ дзыхащи догызыр.


Дыгъэр щlымахуэм кlасэу къыщlокl, пасэу къохьаж,
щlагъуэуи уигъэхуабэкъым абы и бзийхэм. Щlымахуэ
махуэхэр кlэщlщ икlи щlыlэщ. Щlымахуэм уэс къосри
псыр мэщт. Жыгхэм я пщlащэхэр полъэлъри пцlанэу
къонэхэ. Къуалэбзухэм я нэхъыбэlуэр щlымахуэм
хуэбапlэхэм мэкlуэжхэ. Хьэпщхупщхэр щlы щlагъым
щопсэухэ.



КЪУЛЪКЪУЖЬЫН И ЗЫ МАХУЭ

Щоджэнцlыкlу Алий

Къуэ щхъуантlэ уэхым и лъащlэм
Псы гъуджэ цlыкlур щопщlыпщlэ.
Ткlуэпс щlыlэ щыгъэхэр lуфитlым
Я удз шlэращlэхэм хеутхэ.

Псынэ абджыфэм и lуфэм
Жыг хьэлэмэтхэр тожьауэ,
Дыгъэ нур гуащlэм пэлыду
Зишэщl – зиlуантlэу мэкlуасэ.

Махуэр хуабейщи, бгы нэкlухэм
Удз епэр тхьэмпэхэр шолалэ.
Къуэлэбзу цlыкlухэри бэмпlауэ
Псы щабэ lуфэми щохуарзэ.

Махуэ нэщхъуфlэм и дыгъэр
Гъуэгу зэхуэдитlым фlэкlат.
Зекlуэ шуужьхэу пшэ гупхэр
Бгыхэм къыдэпщу хуежьат...

А зы сыхьэтым дыщэблэм
Пщэр зэгуеудри зеупцl,
Щlылъэ удзыпцlэм жэщыфэу,
Нэр зригъэплъкъым - зеуфlыцl.

Зэкlэлъыпlащlэу а махуэм
Уафэм и топхэр мэгъуагъуэ,
Бгы жьэгъу лъаджэжьхэм губжьахэу
Псыдзэ тенджызхэми зыщадзхэ.

Псынэ щхъуэнтlэпсу дыгъуасэм
Щыта псы махэр Индылщ.
Шыблэм и макъыр хэкlуадэу
Абы и хъущlэр иныжьщ.

Махъсымэ плъыфэр lуфитlым
Хьэ гужьеяуэ жьэхопхъуэ,
Зыхъумэ пхъуантэуи щыиауэ
А къуэ зэв быдэри мэт!асхъэ.

Пшэхэм заунэщlри, куэд мыщlэу,
Бийм текlуа дзэуэ lуокlыжхэ,
Къулъкъужьын цlыкlуми псы хьэхуу
Зыгъэгушхуари хокlыжхэ.

Сабий гъа напэу lуфитlыр
Ятlэпс щlэжахэм ялащ,
Псыблэм зыпищlукъуэ лъэгум
Зишэщl – зиlуантlэу кlуэжащ.

Упщ!эхэр

1- Псыр хуэмурэ щежэхым усакlуэм ар зригъэщхьхэр сыт?
2- Псы ткlуэпсхэм щхьэкlэ усакlуэм жиlэр сыт?
3- Уафэхъуэпскlымрэ уафэгъуагъуэмрэ щхьэкlэ усакlуэм жиlэр сыт?
4- Псы къиуам и теплъэр усэм къызэрхэщыр къыжыlэ.
5- Псы жэщlыжам и lуфитlыр сытым иригъэщхьрэ усакlуэм?


Зэгъэщlапхъэ псалъэхэр.

Къуэ – Vadi
Уэх – Derin
Лъащlэ -- aşağı
Гъуджэ – ayna
Пщlыпщlын – parıldamak
Щыгъэ – boncuk
lуфэ – kıyı kenar
Удз – ot
Утхын – püskürtmek
Щlэращlэ – nazlı
Бгы – yamaç
Бэмпlэн – sıkıntı, bunalmak
Хуэрзэн – uçuşmak
Лъаджэ – yüksek
Губжьын – kızmak
Индыл – İdil nehri
Быдэ – sağlam
Тlэсхъэн – gevşemek
Хъущlэн – kızgınlıkla söylenen sözler
Унэщlын – boşalmak, boşaltmak
Бий – düşman
Текlуэн – yenmek, yengi
lукыжын – geri çekilmek
Хьэху – ödünç
Гушхуэн – coşku
Гъын – ağlamak
Ятlэ – toprak
Зышэщlын – gerinmek
Зыlуэнтlэн – kıvrılmak
Псыблэ – su yılanı
Зыпыщlын – taklit etmek
Жэн – akmak
Махъсымэ – mısır unundan yapılan içki
Плъыфэ – renk
Гужьейн – telaşlanmak
Жэбзэн – suyun durduğu yerde temizlenmesi, bulanıklığın oturması
Жэшlын – suyun çekilmesi


Лэжьыгъэр зыхэзылъхьар Щокъул Илхьэнщ.
.........................................................................................................................................
1.Ders      2.Ders      3.Ders      4.Ders      5.Ders      6.Ders      7.Ders      8.Ders      9.Ders      10.Ders
11.Ders      12.Ders      13.Ders      14.Ders      15.Ders      16.Ders      17.Ders      18.Ders
 19.Ders      20.Ders      21.Ders      22.Ders      23.Ders      24.Ders      25.Ders
      26.Ders      27.Ders    28.Ders      29.Ders      30.Ders
.........................................................................................................................................